text
stringlengths
11
353k
meta
dict
СулътIан Къанщауэ Гъур и «Къащидэ лъапIэхэр» Илюшинэ Миланэ, Санкт-Петербург, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат, доцент. Иужьрейм ипэ къихуэу мамлюк сулътIану тета Аль-Гъуурий Къанщауэ (1501-1516) и усэ тхылъ Iэрытх щIэлъщ Дание пащтыхьыгъуэм и тхылъ хъумапIэу Копенгаген дэтым. Ауэ Iэрытхым тепщIыхьмэ, сулътIаным зэреджапхъэр Аль-Гъэурий Къанщауэщ, сыту жыпIэмэ, унэцIэм и япэрей хьэрфым IупщIу фэтхьэ («э» кIэщI) телъщ. А хьэрфзешэ дыдэращ телъыр «Къащидэ лъапIэхэр» и фIэщыгъэу Аль-Гъэурий и мамлюкхэм язым кърыригъэтхыкIа усэ тхылъу Iэрытххэм я институт Каир дэтым щIэлъми. (Дание тхылъ хъумапIэм щIэлъ Iэрытхым ит усэ плIыщIрэ тIум щыщу щэщIрэ хыр къазэрыщхьэщыкIышхуэ щымыIэу «Къащидэ лъапIэхэм» тохуэ). «Э» кIэщI телъщ Аль-Гъэурий Къанщауэ и цIэкIэ икIи и лъэIукIэ ящIа «Шахнаме» тхылъым и копиеми. Тхыдэтх Ибн Ийас (1448-1524) сулътIаныр тахътэм щитIысхьа махуэм ирихьэлIэу хузэхилъхьа усэми, 1512 гъэм и гъэмахуэм къэхъуа Iуэхугъуэхэм щытепсэлъыхьыж къащидэми Аль-Гъуурий цIэ лейм хэт «гъ» хьэрфым щытрилъхьэр дэммэщ («у»-кIэщI). Гугъущ уи нэгу къыщIэбгъэхьэну сулътIаным и лъэхъэнэгъуу щыта, шэрджэс мамлюк унагъуэм къыхэкIа тхыдэтх цIэрыIуэ Ибн Ийас сулътIаным и унэцIэр пэжу зэратхыр имыщIауэ. Апхуэдэ дыдэу фIэщщIыгъуейуэ къыпщохъу езы сулътIаным и унафэкIэ ятха тхылъхэм щыуагъэ кIуэнри. Мысыр тхыдэтх Шэхьбан Мухьэммэд Марсэ зэрыжиIэмкIэ, Iуэхур дыкъуакъуэ зыщIа щхьэусыгъуэу щытынкIи хъунур Къанщауэ и хэкур Аль-Гъэур (иджырей Иорданием, Палестинэм, Израилым хыхьэ) щIыпIэм ирипхыну зэрыхуеярщ. Апхуэдэ гукъыдэж абы ищIынкIи щIэхъуар къыбгурегъаIуэ сулътIаным шэрджэсхэр гъэсанидхэм къатехъукIауэ, абы къикIыр – хьэрып лъабжьэ яIэу - жиIэу зэрыщытам. Ибн Ийас и тхыдэр щитхыжар Мысырыр Уэсмэн къэралыгъуэм хыхьа нэужьщ, абы щхьэкIэ мамлюк сулътIаныр хьэрыпхэм къахэкIауэ къигъэлъэгъуэныр фIэигъуа къыщIэкIынкъым. Иджырей тхыдэ щIэныгъэм тхыкIитIми ущрохьэлIэ: Аль-Гъуурий, Аль-Гъэурий. Мы лэжьыгъэр урысыбзэ тхыгъэхэм нэхъыбэрэ къыщыкIуэ Аль-Гъуурий тхыкIэм тетщ. Мамлюк дзэзешэ куэдым хуэдэу, Къанщауэ Гъур къызыхэкIам теухуауэ хъыбар гунэс щыIэкъым. Абы и цIэ лейр Каир дэт быдапIэм хыхьэ Аль-Гъуур казармэм ирапх. Къаит-бей (1468-1496) и мамлюкыу щыщыта зэманым Къанщауэ абы щеджагъэнщ. Хуэзыгъэфащэ щыIэщ сулътIан хъуну зи натIэ щIалэр куржы къалэ Гори е абы и Iэгъуэблагъэм къыщалъхуауэ, сыту жыпIэмэ аль-Гъуур казармэм щIэса мамлюкхэм я нэхъыбэр а щIыпIэм щыщт. Мысырым Къанщауэ къэзышауэ зыхуагъэфащэр Бабирди зи цIэ сондэджэрырщ. Къанщауэ Гъур Къаит-бей и мамлюкыу щытащ. Щхьэхуит хъуа нэужь, абы шырэ фащэ къызыхащIыкIын щэкIрэ къратащ, итIанэ сулътIаным и камердинеру – мамлюк аль-джэмдария[1] - жыхуаIэм хуэдэу ягъэуващ. ИтIанэ щIалэр Къаит-бей и хъумакIуэхэм хагъэхьэ. I48I гъэм, езым и цIэджэгъу, дзэзешэ ХъэмсмиIэ Къанщауэ и жэрдэмкIэ, Къанщауэ Гъурыр Мысыр Ищхъэрэм и кашифу (унафэщIу) ягъэув. Илъэсищ докIри ар пщIым я дзэпщ цIэр зэрихьэу Хьэлэб ягъакIуэри Тарсус и къалэтет мэхъу, зэман докIри Хьэлэб къегъэзэж. I489 гъэм щегъэжьауэ ар сэреидзэм и пашэу, а къалэм сулътIаным щилIыкIуэу мэлажьэ. 1493 гъэм Къанщауэм зыкъэзыIэтахэр щытхъу къилэжьу игъэмамырыжащ. КъыкIэлъыкIуэу ар Малатье (Анадолэ КъуэкIыпIэм) и тет хъуащ. ЩIыпIэ пхыдзахэм фIыуэ зэрыщылажьэм Къанщауэ Гъур зи унафэм зауэлI мин нэхърэ мынэхъ мащIэ щIэт сулътIаныгъуэм и дзэпщ пэрытхэм ящыщ ищIат. Къаит-бей дунейм ехыжу абы и къуэ Ан-Насир Мухьэммэд трагъэкIа нэужь, сулътIан хъуну къагъэлъагъуэхэм язт Къанщауэ Гъур. Аз-Захир Къанщауэ (1498-1499/1500) ар сулътIаным и мамлюкхэм я пашэу зэригъэуву, Къанщауэ Гъур Аль-Адиль Тумэнбей дзыхь зыхуищI къулыкъущIэхэм ящыщ хъури, администрацэм зэуэ къулыкъуиплI щрихьэкIын щIидзащ: дэуэдар нэхъыщхьэ - «шакъалъэм и хъумакIуэ» (сулътIаным и дэфтэр хъумапIэм и унафэщI); уэзир (ар налогхэмрэ сулътIаным и пщэфIапIэмрэ кIэлъыплъырт), устадар (унэзехьэ, сулътIаным и чэнджэщэгъу, сулътIаным и унафэр абы и псэупIэхэм, и хъумакIуэхэм, и мамлюкхэр зыщIэс казармэхэм щыпхызыгъэкI), кашиф нэхъыщхьэ. Аль-Адиль Тумэнбей 1501 гъэм мэлыжьыхьым и 19-м традзащ. Абы и пIэ иувэну хэта эмиритIыр къанэри, къыкIэлъыкIуэ махуэ дыдэм, 1501 гъэм мэлыжьыхьым и 20-м, Къанщауэ Гъур сулътIан хъуащ. Ибн Ийас щыхьэту къоув абы унафэр къыIэрыхьэу тахътэм щитIысхьа махуэм гъыныр зэпимыгъэууэ, сулътIаныгъуэри тепщэм хуэфащэ щхьэешыхьэкI фIыцIэри къищтэн имыдэу нэпс куэд зэрыщIигъэкIамкIэ. Апхуэдэу хъуами, къыкIэлъыкIуэ илъэс пщыкIутхум сулътIаным ткIийуэ Мысырым унафэр щиIыгъыфащ. ЕпщыкIутхуанэ лIэщIыгъуэм и кIэм мамлюк тепщэгъуэр мылъку и лъэныкъуэкIэ къызэрымыкIуэ щытыкIэ гугъу ихуат. Хэхъуэ зимыIэж хъарзыналъэр зэригъэпэщыжын папщIэ, Къанщауэ Гъур хэхыпщIэхэр, къэрал ихьэпщIэхэр нэхъыбэ ищIат, псапэхуэщIэу зэрахьэ хэхъуапIэ гуэрхэр хэкум и мылъкум хигъэхьат. Ар зи гуапэ мыхъуа къулыкъущIэхэми цIыхубэми я мыарэзыныгъэр нэрылъагъут. СулътIаным и Iуэху зехьэкIэ ткIийм япэщIыкIэ фейдэ къимыхьу къафIэщIащ, къекIуэкI хабзэм тету унафэм къыпэщIэувэхэмрэ ныкъуэкъуэххэмрэ къалащхьэм дагъэIэпхъукIмэ мынэхъыфIу пIэрэ жаригъэIэу. Къаугъэхэр зэпыуртэкъым. Къулыкъу зезыхьэхэм гурыщхъуэ зыхуамыщI яхэттэкъым, илъэс нэхърэ нэхъыбэкIэ тепщэгъуэм щагъэлэжьаи къахэкIакъым. Зэрытеувэрэ илъэситху щрикъум, сулътIаныр традзыну зи мурад щIэпхъаджащIэ гуп аргуэру къаубыда нэужь, Къанщауэм и гур нэхъ загъэри апщIондэху Каир къимышэу щIыпIэ пхыдза гуэрым щиIыгъа и щхьэгъусэр Чэщанэм къигъэIэпхъуауэ щытащ. Къанщауэ Гъур адрей мамлюк сулътIанхэм нэхърэ мынэхъ мащIэу елIалIэрт сулътIаным и пщIэмрэ и Iулыджымрэ зыIэтыну Iуэхухэм. Диным зэрызыщIигъакъуэмрэ щэнхабзэм зэрыхэлэжьыхьымрэ и фIыгъэкIэ, абы Алыхьталэм фIэлIыкI, щIэныгъэр зи щIасэ сулътIану фэ къытеуат. Мылъкур бэгъуэн папщIэ зэхуигъэхъуа экономикэ зэхъуэкIыныгъэхэми, къулыкъущIэхэм я зэныкъуэкъум кърикIуэ Iэуэлъауэхэми нэхъ фагъуэ ящIэхъукIыртэкъым псапэу къаIэт Iуэху щхьэпэхэри, щIэх-щIэхыу къызэIуах мэжджыт лъагэхэри, еджапIэ телъыджэхэри, тхылъ хъумапIэ бейхэри. 1503 гъэм и гъатхэм сулътIаным и унафэкIэ яухуа мыдрисэ телъыджэ къызэIуахат. Абы теухуауэ къаIэта тхьэлъэIур жэщ псокIэ екIуэкIащ. Мыдрисэ унэр дахэу зэрызэлъыIуахам зэритхьэкъуам къыдэкIуэу, къекIуэлIахэр уэздыгъэ цIыкIухэмкIэ къэгъэнэхуа Iэнэхэм ятелъа ерыскъы берычэтыр ягъэщIагъуат. ИужькIэ сулътIаным мыдрисэм пэгъунэгъуу кхъэлэгъунэрэ псыутх зыхэт псыефапIэрэ хригъэщIыхьащ, I503 гъэм абы мэжджытыщIэ щригъэухуащ. Къалэ лъапIэхэм хьэжыщI кIуэхэр зэкIуалIэ Акъабэ Къанщауэ и унафэкIэ, гъуэгурыкIуэхэр зыщIэсынрэ быдапIэ зыбжанэрэ дащIыхьат. 1515 гъэм и бжьыхьэм Хъаирбек зи цIэ архитекторыр инженер, пхъащIэ, ухуакIуэ гуп и гъусэу Мэчэм кIуауэ щытащ гъуэгурыкIуэхэм папщIэ сымаджэщрэ екIуэлIапIэрэ иухуэну. КъинэмыщIауэ, абыхэм унафэ хуащIат Мэжджыт ЛъапIэм и пщIантIэр мывэкIэ къращIыкIыну, Базан псыежэхым икIыу къалэм псы ирашэлIэну. 1506 гъэм и кIэм е 1507 гъэм ипэ дыдэм Щам кърашри мысыр къалащхьэм пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэр, удз гъагъэхэр, кокос пальмэхэр кърашри Чэщанэм и гупэм кърагъэтIысэкIат. Ибн Ийас зэрыжиIэмкIэ, Къанщауэ Гъур жэрдэмыщIэхэм зыIэпишэрт икIи хадэщIэм къыщикIухьын фIэфIт. 1508 гъэм абы гуэл IэрыщIрэ IущIыхьхэмрэ хащIыхьащ. 1513 гъэм сулътIаным унафэ ищIащ Каир псыутхыщIэхэр щыпхашыну. СулътIаныр ящыщт тхылъ зэдзэкIыныр, ахэр щIэрыщIэу къратхыкIыжурэ къыдагъэкIыныр зыфIэигъуэ тепщэхэм. Къанщауэ цIэрыIуэщ мамлюк сэрейм щIэлъ Iэрытххэм сурэт япэу зэрахуригъэщIамкIэ. Езы сулътIаным и Iэдакъэ къыщIэкIауэ тхыгъитI хэIущIыIущ. Мысыр щIэныгъэлI Аззам Абдулуэхьэб а тхыгъэхэм щытопсэлъыхь 1941 гъэм утыку кърихьа лэжьыгъэм. Езым хуагъэфэща щытхъу усэм Къанщауэ усэбзэкIэ иритыжа жэуапыр Аль-Гъази Нэжмудин и биограф псалъалъэм къыщехь. Дание пащтыхьыгъуэм и тхылъ хъумапIэм щIэлъ Iэрытхыр фIыуэ хъума хъуакъым, и Iыхьэ гуэрхэр къыпхуихыркъым. Ар къизытхыкIари, щатха илъэсри хэплъагъукIыркъым. Тхьэмпэ плIыщIыр (тхылъымпIэ напэ къэс сатырибгъу тету) зи къуапэхэр кхъуэщыныфэкIэ къэдыхьа европей тхылъымпIэ Iувыр и жинту зэкIэрышхащ. А теплъэщIэр Iэрытхым щигъуэтар Даниерауэ хуэгъэфэщэгъуафIэщ. И дзакIэм «CRVIII» хьэрфхэр къытенащ икIи тетхащ: «Poёmata Sultani Kanzuh el-Gauri». Тхыгъэм хьэрфзешэхэр псори телъщ, зэрытхар шакъэ фIыцIэщ, нэсхъ IупщIщ, шакъэ плъыжьми урохьэлIэ, псалъащхьэхэр дыщэпскIэ тхащ. Иужьрейм ипэ ит усэм псалъащхьэ теткъым. Тхылъым ит усэхэм я нэхъыбэр диным епхащ. СулътIаным и цIэр къызыхэщ едзыгъуэ къэс ар Алыхьталэм фIэлIыкI муслъымэныфIу, фIэщхъуныгъэ куу зыбгъэдэлъ къэрал тепщэу уи нэгу къыщIегъэхьэ. Едзыгъуэ щхьэхуэхэм суфийхэм я усэ гъэщIэрэщIэкIэ Iэмалхэм уащрохьэлIэ: 1. Тепщэр Уэращ, Iуммэтри Ууейщ, Гъуурийуэ Уи тхьэмыщкIэм ныббгъэделъхьэ КъыIэщIалъхьа сулътIан пщэрылъыр... 2. И Тхьэм йолъэIу Гъуурийр, Сыт хуэдэ Iуэху къыхукъуэкIми, Пащтыхь ящIащ ар, Ауэ Лъагэуэ ЛъапIэм и пщылIу къэнащ. 3. КъадэIэпыкъу къыпщыгугъухэмрэ Уи пщылI Гъуурийрэ; Уи нэфIыр псэм и плъапIэщ… 4. Iэшрэф Гъуурий дзэр зэригъэпэщащ, ЩIэтщ зауэлIхэр сулътIаным и унафэ; 5. Тхьэм и Нэхур илъагъуну пIэрэ Гъуурий? Арат ар зыщIэхъуэпсыр Пащтыхьыгъуэми тахътэми хуемыплъэкIыу. 6. ПсэкIэ чэфщ Гъуурий, Гур зыгъафIэ а махъсымэ IэфIым еIубащи… 7. СулътIан тахътэм ис Гъуурий щыхьэту къоув Нэхур пащтыхьыгъуэм зэрефIэкIымкIэ. 8. КупщIэ щIэлъщ Гъуурий и усыгъэм, Гум къинэжынущ; Абы ещхь усакIуэ дапщэ тета мы дунейм, Иджы зыми я цIэр имыщIэжу. 9. Къарууншэщ Уи пщылI Гъуурий, Гур фIагъэкIуэдащ къыIэщIэщIа гуэныхьхэм; ГущIэгъубэм къолъэIу и псэкIуэдхэр хуэбгъэгъуну! 10. Гъуурийуэ Уи пщылIыр езыр гу Iувкъым: Зэпыукъым абы Тхьэм фIэлIыкIыу щIигъэкI и нэпсхэр; 11. ФIыгъуэр зыугуэшым Уи гущIэгъум щогугъ, КъагъэщIахэм я нэхъ Iейм Щыпхъумэну мэлъаIуэ; 12. ПсэкIэ зыныуитащ Гъуурийуэ уи пщылIым, И гупэри къыхуэбухам хуигъэзащ. 13. Гуэныхьыбэу уи пщылI Гъуурий ЩIегъуэжакIэщ икIи къигъэзэжакIэщ… 14. Тхьэуэ Лъэщым йолъэIу Гъуурий И псэкIуэдхэр хуигъэгъуну; 15. Абы и унафэр егъэзащIэ, ФIыщIэ хуещI, и щытхъури еIэт; 16. Уэращ щыуагъэхэр зыгъэзэкIуэжыр, Гъуурийр узыгъэпэж уи пщылIщ; I7. ГуфIэгъуэ Iэджэм щIэлъэIуу щыта Гъуурийм Иджы Уи деж екIуэлIапIэ къыщелъыхъуэ; 18. Алыхьырщ Гъуурий зыхуэныкъуэр, Абы жиIэр фIэзахуэщ, И унафэм щIодэIу, И щIыхьэпIэм деж Iутщ; 19. Зэхэх и тхьэлъэIур Тобэ къэзыхьыжа уи пщылI Гъуурий! 20. Гъуурийуэ уи пщылI тхьэджэм Сыту фIы куэд Iэрыхьат Уэ Уи тыгъэу! 21. БзэгукIи гукIи ФIыщIэ хуещI и Тхьэм Гъуурий, ПсэкIуэдхэм щыщтэу Тхьэм и гущIэгъум зыкъуедзэ; 22. Гъуурий и псэм телъ бжьыгъэр тригъэкIыжыну хуейщ, ГущIэгъубэм йолъэIу зыхуигъэгъуахэм яхибжэну; 23. Щыхъумэ залымыгъэм Уи пщылI Гъуурий, И чэзур къэсмэ! 24. ЩифIэщщ Гъуурий и фIылъагъум, Ар и гъусэщ Алыхьталэм щыгугъхэм, Тхьэм и пщылIхэм яхэткъым абыхэм нэхърэ нэхъ лъэщ; 25. Уи щабагъым щогугъ Гъуурийр, Къэпхъумэну мэлъаIуэ… ФIыщIэр гу къабзэкIэ еIэт; 26. ГущIэгъум хиубыдэнырщ абы и плъапIэр, КъыдэIэпыкъу, ди Тхьэ, гъуэгу захуэм темыгъуэщыкIынкIэ; 27. Уи пщылI Гъуурийр мэкIэзыз, Гъазэ имыIэу зэринэкIащ абы и псэкIуэдхэр; 28. Зиусхьэныр арэзы къыхуэхъуну Мэгугъэ абы и пщылI Гъуурий; 29. Уи пщылI Гъуурий щIегъуэжри къигъэзэжащ, И щIыб яхуигъэзэпащ абы и гуэныхьхэм; 30. Гъуэгу захуэм тету шэ пщылI Гъуурий, Тхьэм и нэфIыр тыгъэ абы къыхуэщI; 31. Мы дунейми адрейми Псори щызезыгъакIуэм И гъащIэр IэщIелъхьэ Гъуурий, Хуэарэзыщ Алыхь унафэм; 32. ПэIэщIэ щIы и щыуагъэхэм Гъуурий Уи пащхьэ ныщихьэжкIэ… 33. Уэ ди Тхьэ! Мыр жызыIэр Гъуурийщ… 34. Уэ Гущабэ! Уи пщылI Гъуурий ПщIыхьэпIэ къыхуэбгъэкIуэну мэлъаIуэ; 35. Сэ, Гъуурий – пщылIыр СыпхуэжыIэщIэщ, схуэбгъэгъуну солъаIуэ; 36. Щыхьэту къоув Уи пщылIыр Уэ УзэрызакъуэмкIэ… 37. ФIылъагъум щифIэщщ Гъуурий ИгукIи, и гукъэкIхэмкIи; 38. ИщIахэр къабылу IахынкIэ Мэгугъэ Гъуурий, Хуэкъабзэщ абы и гур Алыхьу къэзыгъэщIам; 39. Сэ – Аль Iэшрэф Гъуурий - пщылIыр ПщылIхэм я Тхьэм солъэIу си натIэ итым сыхуигъэзэну; 40. Сытри зигу пыкI! Уэ къызэптащ Уи Унэмрэ ЩIыналъэ ЛъапIэмрэ сахуэпщылIын къалэныр, Пащтыхьыгъуэри къысIэщIэплъхьащ… 41. Хуэхъу Абы дэIэпыкъуэгъу, Гъуурий; 42. Уа, пщылIхэм япщ! Уи пщылI Гъуурий Иджы щIыналъэхэм я нэхъыфIым хуопабгъэ, ЩхьэщыжакIуэм деж, и чэзур къэсмэ, екIуэлIэжыну. Гъуурийр муслъымэн Iэсэу, зи гупсысэхэр псори Тхьэм хуэгъэза, зи IуэхущIафэхэр цIыхубэм ифI зыхэлъ къэрал унафэщIу къыхощ мы сатырхэм. Аращ мыхьэнэ нэхъыщхьэу мы усэхэми, ахэр гу лъумытащэу зэзыпх щIагъыбзэми къыхэбджыкIыр. Суфийхэм я гугъу зэрищIым къегъэлъагъуэ абыхэм мамлюк жылагъуэм увыпIэшхуэ щаубыду зэрыщытар. Мамлюк сулътIанхэм ущиякIуэхэм папщIэ хэщIапIэ куэд яухуащ, абыхэм пашэ яхуэхъунур нэхъыбэм езыхэм къагъэлъагъуэрт. Апхуэдэ хэщIапIэхэм щагъасэ зауэлIхэм папщIи псэупIэ щыхагъэщхьэхукI къэхъурт, псалъэм папщIэ, Бейбарс ЕтIуанэм иухуахэм ещхьу. Езы Къанщауэ Гъур хъэлуэтийэ суфий къудамэм и япэрей зэхуэсыпIэр къызэзыгъэпэща Гюльшени Ибрэхьим (I534 гъэм дунейм ехыжащ) зыщIигъакъуэу щытащ. I5I6 гъэм, Мардж Дэбикъ деж мамлюкхэр уэсмэнхэм щапэщIэува зауэзэрылI нэхъ иным ипэ къихуэу, Къанщауэ Гъур бэдэуийэ, къадирийэ, рифахьийэ къудамэхэм я ущиякIуэхэр дэщIыгъуу и дзэхэр къызэхикIухауэ щытащ. СулътIаным и зауэлIхэмрэ и пщылIхэмрэ я гугъу щещI усэ тхылъым и япэ напэкIуэцIхэм: Си зауэлIхэр зыгу зы щхьэу зэкъуэгъэувэ, Къабзэрэ IупщIу щрет абыхэм я плъапIэхэр; ПцIыкIэ ди ужь къихьахэр зэтекъути гъэкIуэд, Хахуэм, пэжым, лIыгъэ зыхэлъым И лъэр гъэбыдэ; ЩIэгъэт ахэр си жьауэм, Ахэращ хэкум и гугъэри и хъумакIуэри; Закъытеубгъуи къалъыгъэс абыхэм Лъагэу зыIэтын ехъулIэныгъэ; Псом ялейуэ хэкур зыщыгугъхэм, Псапэр я Iэпэгъуу, ухыгъэм и пащхьэ итхэм. ЩIэтщ дзэр унафэм, Псори къытхуэпэжщ, псори зэрыIыгъщ. Ди къуэхэм хуэдэу долъагъу, зэхэгъэж дымыщIу; Алыхьым къихъумэ, я зэкъуэтыныгъэм хэмыщIу; Гури псэри егъэнщI фIылъагъуу яхузиIэм, ГуфIэгъуэкIэ Тхьэм дызэхуишэсыж. Ящыщ дэтхэнэри ди къуэшщ, Блыным хуэдэу мыланджэу хэкур яхъумэ, Я къарур трагъэкIуадэ; ТекIуэныгъэр зи Iэпэгъу ди шуудзэм И шу къэс пэжкIэ къыдбгъэдэтщ, Зыми гурыщхъуэ хуэдмыщIу. НыбжьыфIэ къэс ди адэщ; лIыкур ди шынэхъыжьщ, НэхъыщIэ псори ди бын пэлъытэщ. Мы ищхьэкIэ къэтхьа сатырхэм мамлюк жылагъуэри, сулътIан унафэри, зауэлI текIуэныгъэри зи Iэпэгъу хабзэхэр къагъэлъагъуэ. А хабзэ лъагэхэм мамлюкхэр пэIэщIэ хъуху, къэралым къыщыхъу зэрызехьэхэри нэхъ шынагъуэ хъурт, сулътIаным и унафэми, и гъащIэ дыдэми куэд ямыкIужыныфэ къытеуэу. Дзэм зэкъуэтыныгъэр зэрыфIэкIуэдамрэ уэсмэнхэм ягухьа дзэпщыр къазэрепцIыжамрэщ щхьэусыгъуэ хуэхъуар мамлюкхэр Дэбикъ губгъуэм зэрыщызэхакъутами Къанщауэ Гъур сулътIаныр зэраукIами. Данием и пащтыхь тхылъ хъумапIэм щIэлъ тхылъ Iэрытхым ит усэхэр мамлюкхэм я усыгъэм и щапхъэ гъуэтыгъуейщ. «Муашшахъ» тхыкIэкIэ зэхэлъхьа абы ит къащидэхэмрэ усэ гъэпсахэмрэ уи фIэщ ящI мамлюкхэм я щэнхабзэмрэ я цIыхубэ зэхэтыкIэмрэ бджын папщIэ, «Къанщауэ Гъур и Диваныр» мыхьэнэшхуэ зиIэ тхылъу зэрыщытыр.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "kansawa.txt" }
Къат Фейсал Хьисэ и къуэр 1943 гъэм гъатхэпэм и 25-м Иорданым щыщ Нахьур къуажэм къыщалъхуащ. ЕджапIэ класси 9 къыщиухащ. Иордан телевиденэм щылэжьащ декоратору, администратору. ИтIанэ джэд гъэхъуным зритри, а Iуэхум илъэс 15 пэрытащ. Сыт хуэдэ IэнатIэ ирихьэкIами, дэнэ щыIами, Фейсал и гупсысэ нэхъыщхьэ дыдэу гъащIэм къыщыдекIуэкIар и Хэкужьырщ. Кавказым иIэпхъукIауэ щытар Фейсал и адэшхуэ Къат Екъубщ, ар къыщалъхуар Гъуэбэкъуей бжьэдыгъу къуажэрат. Фейсал адэжь щIыналъэм пэIэщIэми, ар зыпищI щымыIэу къекIуэкIащ, и бынхэм - и пхъуищым-Суандэ, Ларисэ, Эльзэ сымэ –апхуэдэ гъэсэныгъэ яритыным хущIэкъуащ. Апхуэдэ Iэмал къыщыкъуэкIым Къатыр и хэкужьым лъагъунлъагъу къэкIуэжауэ щытащ, и усэхэм щыщ куэди Мейкъуапэ, адыгэ лъахэм щыпсэухэм ятриухуащ. Хэкужьым хуиIэ лъагъуныгъэр - аращ Фейсал и усэхэм и нэхъыбэр гум къыщызыгъэушар. Лъэпкъым и блэкIамрэ нобэрей адыгэ хэхэсхэм я Дуней тетыкIэмрэ и усэхэм щызэпищIэным тхакIуэр хущIэкъурт. А зэпыщIэныгъэм Къат Фейсал къыхигъэнэIукIыфырт хэкужьым нэхъ дахэрэ нэхъ лъапIэрэ зэрыщымыIэр. Дуней псом и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыпсэу адыгэ хэхэсхэм я гупсысэр, гъащIэм хуаIэ еплъыкIэр къызытепщIыкIыжри арауэ зэрыщытыр. Къат Фейсал гъащIэ мащIэт - ар илъэс 66-рэщ зэрыпсэуар, 2009 гъэм щIышылэм и 26-м дунейм ехыжащ. Фейсал псэууэ и тхылъ щхьэхуэ дунейм къытехьакъым. И усэхэр къытрадзэрт Иордан газетхэмрэ журналхэмрэ. Адыгэ фIыщIэ хасэм къыдигъэкI «Ал-Уахьэ» («Гуэл»), «Нарт» журналхэм. УсакIуэр дунейм ехыжа нэужь, и ныбжьэгъухэм абы и IэрыкIхэр зэхуахьэсри, «Си Iэпкълъэпкъым хэлъ сэшхуэхэр» зыфIаща тхылъыр къыдагъэкIащ. ЖыIэпхъэщ Къатыр Иорданым хьэрып усакIуэу къызэрилъытэр. Абы и щхьэусыгъуэри Фейсал хьэрыпыбзэкIэ тхэуэ зэрыщытам и закъуэу къыщIэкIынукъым. Къатым итхахэр ягу иримыхьу щытамэ, хьэрыпхэм апхуэдэу жаIэнтэкъым. ТхакIуэм и Iэрытххэм яхэтщ пасэрей хьэрып усэ гъэпсыкIэм итхэри, иджырей усэ гъэпсыкIэхэу «усэ хужь» жыхуаIэ жыпхъэм игъэувахэри. Дунейм зэрехыжрэ зы илъэс зэрытекIам иращIэкIа пшыхьым и тхылъым и лъапэтеувэри ирагъэхьэлIащ. А пшыхьым хэтащ хьэрып тхакIуи, адыгэ тхакIуи. Хьэрыпым "хьэрып усакIуэр, адыгэлIыр, Иорданым и цIыхур" хужиIащ, адыгэм " адыгэр, хьэрып усакIуэр, Иорданым и цIыху пэжыр" хужиIащ. Къат Фейсал хужаIар гъащIэм къигъэува пэжщ, езыр къызыхэкIа лъэпкъым и щытыкIэм елъытауэ: Хэхэс адыгэр Iыхьэ мыгуэш цIыхущ, хьэрыпыр езым еину хуейщ, адыгэм езым зришэлIэжмэ нэхъ къещтэ. Хэкурыс адыгэр апхуэдэ цIыхушхуэхэм дауэ хущытын хуей? Адыгэ литературэм къыхыхьащ, "хэхэс адыгэ литературэ" жыхуиIэ къудамэр, адыгэ литературэр игъэбагъуэу, къулей ищIу. Ауэ, ар къыщыхъур, адыгэ тхакIуэм, дэ дэлъытауэ, хамэбзэкIэ итха и IэдакъэщIэкIыр иджырей адыгэбзэмкIэ зэдзэкIа хъуа иужькIэщ-зэмыдзэкIамэ, езыр зэрытха бзэм и литературэм къыхонэж, цIыхум ейуэ къилъытэр и бзэмкIэ псалъэращ, и бзэмкIэ тхаращ, укъызэмыджэфыр щымыIэ пэлъытэщ. Зэрытлъагъущи, зэдзэкIыныр лъэпкъ литературэр зыгъэбагъуэ, зезыгъэужь Iэмалщ, ар нобэ Iуху тщIырэ яужь дихьэми, дыкъыкIэрыхуащ. УзэIэбэкIыжу къыдэбвыж Iуэхур, тIэуней лэжьыгъэщ… Сэри си гуащIэ хызолъхьэри, Къат Фейсал усакIуэр, Иорданым и цIыхур, хьэрыпыбзэкIэ тхар, адыгэ Iуэхум тетхыхьар, адыгэми хьэрыпми хуэтхар фызогъэцIыху- хьэрыпыбзэкIэ итха усэхэр, адыгэбзэкIэ фхузызодзэкI. Дунейм ехыжа Фейсал хьэрыпыбзэкIэ итха и усэхэр пасэрей хьэрып усэ гъэпсыкIэм тетуи тхащ, иджырей усэ гъэпсыкIэкIи тхащ. Абы къегъэлъагъуэ, усакIуэр усэ гъэпсыкIэ псоми щыгъуазэу зэрыщытар. Усэм щIилъхьэ жьур-макъамэр къупхъэ гъэпсахэм я хабзэхэм зыхигъэзыхьыжурэ зригъэубыдакъым, хуиту, итхым емынэкъуэкъуу зригъэукъэдиящ, зытепсэлъыхьым езым и пшыналъэр иубзыхужурэ. Сыт хуэдэу щытами, и усэхэм нэщхъеягъуэ фащэр ящыгъащ. И псыежэхри нэщхъейщ, и блэкIари и къэкIуэнури нэщхъейщ: Уи нитIыр, уафэ нэщхъейр Нэщхъеягъуэр Шэрхъ кIыргъым къехь, ИпщэмкIэ къоIукI, ИпщэмкIэ. Уэгу нэщхъейм ит уи нэхэр Бзу бынщ, Гъэхэр я жьауэщ, Хы Iуфэр я щIасэщ, Хэгъуэгухэр я бысымщ, Къаплъыхь я лъапсэщ; Махуэ мыгъэнщ, Жэщыр я махуэщIщ. Хьэрып усакIуэр и лъэпкъыр щIэныгъэкIэ къызэрыкIэрыхуар, къэралыгъуэ зэкъуэудаурэ зэрыщытым егъэпIейтей, хьэрыпыбзэкIэ тха хэхэс адыгэ усакIуэр и лъэпкъыр зэрызэбгрыдзар, и лъахэм зэрыпэIэщIэр, и бзэр, и хабзэр зэрыкIуэщIым иронэщхъей. Зэдэпсэу адыгэмрэ хьэрыпымрэ я гукъеуэхэмкIэ зэдогуэшэф. Фейсал и усэхэм "пшахъуэ", "пшахъуэщI", "къум", псалъэхэр къытригъэзэжурэ къыщокIуэ. Ахэр зэманыр къэзыбж пшахъуэ сыхьэтуи къегъэлъагъуэ, гъащIэм зэпымыууэ зэрызигъэхъейр, щIэныгъэр и пIэ имыту зэрыкIуатэри къыжиIэу аращ: Мы гъащIэр, ПIалъэр пшахъуэкIэ щабж Лъэхъэнэм икIащ, ФIэкIри, Ухыгъэми хуеIэу щIидзащ ГъащIэм и нэщэнэ нэхъыщхьэхэр къэзыIуатэ щыIэцIэхэр сытым щыгъуи и гум имыхуу зэрилъым щхьэкIэ, къытригъэзэжурэ и усэхэм хэтщ: "жыг", "псыежэх", "Мазэ", "Вагъуэ", "Дыгъэ", "мафIэ", "гуауэ", "фIылъагъуныгъэ","хэхэс", "Хэку"," Мейкъуапэ", "Псыжь", "Фарз", "Бжьэдыгъухьэблэ" хуэдэхэр. УсакIуэм и гум щигъафIэ и Хэкужьыр, иужьрей илъэсхэм, зыбжанэрэ къакIуэри илъэгъуащ, зимыгъэнщIуи кIуэжащ, абы лъапси къыщищэхуащ. Езым и щхьэгъусэ Хэкужь Шэхьирэт жеIэж, Фейсал усэр зэритхыу щытам теухуауэ, "усэр щитхын зэман пыухыкIа иIэу щытакъым, и гум къилъэдар, къыIэрыхьэ тхылъымпIэм тритхэрт. Абы щхьэкIэ тIысыпIэ тынш, тхылъымпIэ хужь къилъыхъуакъым". Фейсал хъыджэбзищ къыщIэнащ: Суанд, Ларисэ, Эльзэ. Абыхэм адэ гу щабэу ящхьэщытащ. Уз къеуэлIам щIэныгъэр пэлъэщын и гугъэурэ псэуа щхьэкIэ, лIэныгъэм и пIалъэр адэкIи, мыдэкIи зыгъэIэпхъуэфын щымыIэ щIэныгъэм, Фейсали IэщIэкIакъым… Къат Фейсал усакIуэр нэщхъеягъуэм, гумащIагъэм, дахагъэм я усакIуэщ хужаIами, ар пэжщ. Езыр цIыху щыпкъэт, и усэхэми хуэпэжт: и гум щыщIэрат къиIуатэр, езым къызэрыщыхъум хуэдэут псалъэхэр къызэригъэсэбэпыр. ДауикI, "цIыхур цIыху щIыжщ" жаIэми, езым япэ ита усакIуэхэм зыгуэрхэмкIэ ядэплъеями-запищIыжу щытакъым, езым и щхьэ хущытыжащ. И усэхэм ущеджэкIэ, узыгъэгуфIэн, гукъыдэж къозытын урихьэлIэну угугъэурэ уеджэми, апхуэдэ урихьэлIэркъым. Абы и деж Вагъуэри цIуркъым, дыгъэри къепсыркъым, цIыхуми псэхугъуэ иIэкъым. Фейсал и гукъеуэхэм я щхьэусыгъуэхэр и усэхэм къыщыщIыплъыхъуэн щымыIэу, езыхэр наIуэу къыхощ ахэр лъэпкъыр зэрыт щытыкIэм къызэрыхэкIар, зауэжьым адыгэ лъэпкъым къыхуихьа мыгъуагъэрауэ зырыщытыр. И усэхэм нэщхъеягъуэр я теплъэу щытми, абы дахагъэр, цIыхубзым и щабагъэр, дыкъэзухъуреихь дунейм и телъыджагъэр, хэкум и IэфIагъыр зыхимыщIэу щытакъым-зыхищIащэрти, псалъэм я нэхъ шэрыуэмкIэ, я нэхъ дахэмкIэ, егъэщхьыныгъэ гурыхьхэмкIэ къиIуатэрт узыIэпишэу, щIэжьыуэ екIуи щIэтыжу: ДыгъэпсымкIэ сотх, Гъуэгу мыгъуэ гъуэгуанэр, Зи пэр хьэдагъэу, Зи кIэр хьэдагъэр. *** СыщIопхъуэ къэзубыдыну КъысхуэкIуэм и джанэкIэр, Щыхь сурэт, Гукъеуэр къызыдэлъэт Щхьэгъубжэ хэздыкIыну. Къат Фейсал Езы Тхьэр усэну къыхуэупсами, езыри еджащ. И щIэныгъэр хигъэхъуэн папщIэ, хьэрып-муслъымэн щэнгъуазэр щIиджыкIащ езым и тIолъхуэныкъуэ хьэрыпыбзэмкIэ; урыс тхакIуэхэри зригъэцIыхуащ. А зэджахэм и гупсысэр нэхъ хагъэхъуащ, и усэхэри нэхъ купщIафIэ ищIащ; къыгурыIуащ гъащIэм лIэныгъэри, псэуныгъэри зэрызэпищIэр, щхьэкIэмрэ лъабжьэмрэ зэрызэщхьэщыкIыр, пщыгъэмрэ пщылIагъымрэ я зэхуаку къыдэхъуэ Iуэхур зэрыцIыхугъэншагъэр. ГъащIэм и щэхухэр къэзыщIа Фейсал, усакIуэ нэщхъей къыхищIыкIащ. Абы и Хэкужьыр зэригъейм ещхьу, зауэм гузэвэгъуэ хидза Иракыр, Палестинэри, Шэшэнри егъей и усэхэмкIэ. Фейсал и усэхэм хэт псалъэ къытезыгъэзэжхэм, зэщхьхэм уатезашэ хуэдэу хъуми, етIуанэу, ещанэу къытебгъэзэжрэ уеджэжмэ, гу лъыботэ, ахэр лъабжьэкIэ зэщхьми, псалъэухам зэрыхэт елъытакIэ, нэгъуэщIым къыхэзыгъэщхьэхукI фащэкIэ зэрыхуэпам: ЯукIам и лъым И макъыр лъагэщ, Зигъэгъэпсэхукъым, Зыуигъэпсэхукъым. ** Ныбгъуэ мэлъатэ, къелъэтыхь ** Къуаргъыр уафэм къоплъых, Хьэдэ щылъыр зэпеплъыхь. ** И усэхэм хэт пшыналъэр, узыпэмыплъа куэд къыщыхъу гъащIэм езэгъ пшыналъэщ щIигъэувэр; умыщIэххэу, пшыналъэри мэкIуэдри, нэгъуэщI щIыпIэкIэ къыщоIуж. Апхуэдэу щыхъум деж, кIуэдар къыщыбгъуэтыжкIэ къыппкърыхьэ гуфIэгъуэр зыхыбощIэ. Сыт хуэдэу мыхъуами, Фейсал и усэхэм щIилъхьэ макъамэр, хабзэу ягъэува усэ гъэпсыкIэм и мардэхэм теткъым, и жыIэдаIуэу щыткъым, и псалъэхэм ягъэIу макъ жьгърур псалъэухам и пэуи, икууи, и кIэуи къегъакIуэ: Си лъым хэт усэныр Бзу Iэпхъуэшапхъуэщ. Уэри пшахъуэщIым уисщ. Си щауэ уIэгъэр МафIэм итхьэкъуарщ. Жьым сыхуоусэ Пшахъуэм ар тетхащ, КIэухыр къеIуатэ, ЩIэдзапIэу ар щытащ. "Iэпхъуэшапхъуэ", "пшахъуэщI" псалъитIыр сатыритI зэкIэлъыхьахэм якуращ зыдэтыр, тIуми я къыщIэдзапIэ макъхэр зэкIуалIэркъым, япэр "Iэ" къыкIэлъыкIуэр "пща" я кIэух макъхэри зэщхькъым, япэр "щ", къыкIэлъыкIуэр "м", ауэ, тIуми я кум дэт макъхэр зэподжэж: "Iэпхъуэшапхъуэ", "пшахъуэ". ЕплIанэ сатырым хэт "щауэ" псалъэри, япэ къакIуэ псалъитIым дожьу, ар тхьэкIумэкIэ зыхыбощIэри, гур егъэзагъэ - игъэпIейтейкъым. Ауэ, ебланэ сатырым хэт "пшахъуэ" псалъэми къегъэзэжри, а япэреймкIэ уи гуакъуэр икIакъыми, а къытегъэзэжыныгъэр псэм къещтэ. А псалъэухар зэриух "тетхащ" псалъэр "тетащ" псалъэм дожьу. ЕплIанэ , етхуанэ сатыритIыр усэм и зекIуэкIэм къыдэуами, - къэмыхъу къэхъуакъым. Фейсал и усэхэм пэщIэдзэрэ кIэухрэ иIэн хуейуэ къыщимылъыти къохъур. ИIэщ усэ гуэрхэри, гупсысэкIэ зэкIэлъымыхьа хуэдэу къытфIэщми, уелIалIэмэ, зэрызэпхар къыбгурыIуэжу. И усэхэм къыщихь псалъэхэми щыIэцIэ пыухыкIа яIэу щыткъым, щIыпIэ е, зэман къагъэлъагъуэу, ахэр егъэщхьыныгъэщ е нэщэнэщ. "бзур" хуитыныгъэм и нэщэнэщ, "Мазэр" дахагъэщ, "нэхущыр" гугъэщ, "мыIэрысэр" дахагъэуи, къэкIыгъэуи къегъэсэбэп, "щихур" ешам и зыгъэпсэхупIэщ, "удзыр", цIыхум щIым хуищI тыгъэщ. ЩIыпIэцIэу къигъэлъагъуэхэр къыпхуэбжынущ: Мейкъуапэ, Фарз, Бжьэдыгъухьэблэ, Псыжь, Кфаркэмэ*… Гу лъыботэ, Фейсал эпос, таурыхъыжь, мифологиехэм щыгъуазэу щытами, ахэр и усэхэм къызэрыщимыгъэсэбэпым, "Сосрыкъуэ" псалъэр зэ къыщокIуэ и усэхэм. Абы и закъуэкъым, псалъэухахэр псэм и зекIуэкIэ зэпIэзэрытхэми теткъым, философие къупхъэхэми изагъэркъым, щIыпIэцIэхэмрэ щыIэцIэхэмрэ зэрынэщхъейр къыумылъэтэнумэ: Илъщ си гум Уи фIылъагъуныгъэр, Гъаблэм къэгъэгъа Жыгыжь къудамэу. МэкI, мэин, Зеубгъу, Пшыналъэщ, Къудамэщ, Хьэндырабгъуэу, Нэхущым и IупитIым, Бзу уэрэд къыщыпеч. Фейсал хыщI гъэхэм усэныр къыщIидзами, абыхэм щыщу ихъумар мащIэщ, блыщI, бгъущI гъэхэм итхар ихъумащ, ищI гъэхэм итхауэ зыри къыщIэнакъым, IэнатIэ зыпэрытам хущIыхьэгъуэ къритауэ къыщIэкIынукъым. И тхэныр зэпыу, къыщIидзэжу щытами, и усэхэр зэрыта къэухьым икIакъым, ахэр къэнащ Хэкур, цIыху нэщхъейр, дахагъэр, цIыхубз дахэр, псыхъуэр, жыгыр, Iуащхьэр, удзыр, мэзыр и усэхэм хэпхъарэ абыхэм я плъыфэу. Иужьрей илъэсхэм Японым я усэ гъэпсыкIэщIэ хаико жыхуиIэм техьэу гу лъыботэ. Абы хуэдэ гъэпсыкIэр псалъэ, псалъэуха кIэщIхэм, мыхьэнэ зыбжанэ къзыгъэлъагъуэхэм нэхъ тещIыхьащ: Щымыныгъэмрэ Шылъэгум дэжэнымрэ Щытепщэм деж, ТхылъымпIэм зыщызоудыгъури, Псалъэхэм садоджэгу "псалъэхэм садоджэгу" жыIэгъуэм деж "псалъэхэм" жыхуиIэр куэдым хуэпхь хъунущ: "цIыхухэм", усакIуэм и уэршэрэгъу мазэ, псы, жьы хуэдэхэри къокI, усэ щитхкIи, псалъэхэм зэрыхэщыпыхьыр, псалъэхэм дэджэгууи къокIыр. Гупсысэ зэкIэлъыхьари икъутэу, гупсысэ техьэ-текIым, щыхыхьи къохъу, усыгъэр зы Iэпкълъэпкъ жыхьауэ щытын хуейуэ къилъытэркъым: Собжыр: Жьыр, Уи IитIым щыжей хьэндырабгъуэр, Псы ткIуэпсыр, Удзым хуэдэу Бауэ упщIэр, Бзум ещхьу лъатэ Вагъуэр. Уи уэршэр IэфIым, Лъэхъэнэхэм пхрыкI Ныбжьэгъугъэм сыхашэ, Зы дызыщIа Щхьэгъубжэм къыщыдэплъкIи, Жейр сфIагъэкIуэд, Ныбжьым хуэдэу, Таурыхъыжьхэм хэт сыринэм ЙофиикIри, Уэгум йохьэж. Уэращ, Си щэхуу Пщыхьэщхьэ тхыгъэхэм Къыщыслъыхъуар. КIуэда сфIэщIати, ЗагъэпщкIуауэ къыщIэкIащ. …псалъэхэр адэкIэ, мыдэкIэ зэбгрыпхъауэ къыпщыхъуми, ахэр налъэ псыгъуэкIэ зэпхащ, псоми гукъэкI хуабэ ящIэтщ. Усэр ткIийуэ мыгъэпса щхьэкIэ, теплъэ зызыгъэхъейхэмкIэ, дахэхэмкIэ гъэнщIащ. ФIылъагъуныгъэм теухуахэр нэхъ нэщхъейми, дахагъэр кууэ зыхыуагъащIэ: Зэгуэр, Е зы пщыхьэщхьэ гуэрым, Дунейр зыщIэлъызыщIэса ФIылъагъуныгъэм и щауэу Нэху сыкъекIыну СопщIыхь. ФIылъагъуныгъэу пхузиIэр ПщIыхь зэмыфэгъущ, Таурыхъщ, НэкъыфIэщIым и джэгуалъэщ. ФIыуэ слъагъуу къысфIэщIым И цIэр тестхат ЯтIагъуэм, Щихум. ФIыуэ слъэгъуати, Си гугъат Уэрэдхэм я тхыбзэр сигъащIэу, Жьым тезытхэ усакIуэ СищIыну. Къыщалъхуа къалэми гухэлъ хуабэ хуиIэу, "ФIылъагъуныгъэмрэ усэнымрэ япэу сэзыгъэщIар" псалъащхьэм щIэту хуэусащ: "Нахьур" сыкъыщалъхуащ, Бзур, жьауэр, КIыфIыр щыпсэум. ** Жинми удми ИращIэкIа таурыхъхэр СигъэщIащ "Нахьур" И Хэкужь и къалащхьэ Мейкъуапэ, "Мейкъуапэ, жыгхэм я гъуджэ" усэр хуитхащ: Сэ Мейкъуапэ фIыуэ солъагъу, Езы Мейкъуапэ Псыхъуэр фIыуэ елъагъу. ** Мейкъуапэ фIыуэ солъагъу, Езы Мейкъуапэ, Псыежэх и щIасэщ. И нитIым щиущэху гъэгъам СызэрыщIэупщIэу, СызыIут щхьэгъубжэр хуещIри, Дыгъэм зыщегъэпскI "Мейкъуапэ щхьэкIэ Мазищ" Зэман Iейм дызэхуэзэри, Дыгъащ. Зэманыр Iейуэ дыщызбгъэдэкIыжым, Ди жагъуэ хъуащ. Мейкъуапэ, Мейкъуапэ! Уэращ Хуарэ сызытесар, Фарз, Псыжь зэпрызышар. ** Мейкъуапэ КIыфI зэрыхъуу мэуэршэр, Блыну щытми, Дыхьэшх, сабий, Псыежэх макъыр щхьэщоIукI. "МафIэ мыужьых" псалъащхьэм щIэту итхащ: Си гур, сэ зыхаIуа мыIэрысэу, мэзым и гум илъа бампIэгъуэу сыныпхуэкIуащ, Мейкъуапэ. Уси гугъэт, Сыуи усакIуэт. Зумыгъэхъейуэ, Гъуджэм ущIытенар сыт? Жэщи махуи Тхьэ солъэIу, Пшэр къытехьэу, ЯтIэ унэхэр зыхьыну уэшхыр Къытхуешхыну. ** Азэн джапIэм къиIукI макъыу, СокIий: Дэнэ ущыIэ, Си мы цIыкIу-Мейкъуапэ? Си уафэм ущискъухьри, Сыгъыу сытIысыжащ. УсакIуэм ныбжьэгъугъэр игъэлъапIэу КIахэм я тхакIуэ тхьэмадэ, адыгэлI пажэ МэшбащIэ Исхьэкъ "Псыжь Iуфэ" псалъащхьэм щIэту хуетх: Си гъуджэм Укъытохьэ, Таурыхъхэм хэт Iущхьэу. ** Си фIылъагъуныгъэм и тхыдэр Жыгым хуэсIуэтати, Гъащ. Езым хуэдэу хэхэс щIыпIэ - Журтым щыпсэу, Кфаркэмэ къуажэ щыщ и ныбжьэгъу Абрэдж Сэхьид хуетх: Уэращ, Си щэхуу Пщыхьэщхьэ тхыгъэхэм Къыщыслъыхъуар. КIуэда сфIэщIати, ЗагъэпщкIуауэ къыщIэкIащ. Дызэхуэзэжынукъым жиIащ. АдэкIи Хы Iуфэм и кIыхьагъ Псалъэмакъ иукъуэдиящ Псыр къыщиум Мо нитIым яIыгъа нэпситIу. Си ныбжьэгъу! Уэрэ сэрэ дыщыIэнщ, Жыгейрэ Псыжьрэ, Уафэр щыIэху. Нэпсым и гъыбзэр КъэзыIуатэ псалъэхэр исми, Ди сахуэр Къэнэнщ. ЗэрытщIэщи, цIыху лIаращ псалъэу щытауэ мыпсэлъэжыр - и псэр зэрыхэкIыу мэщым. Абы щхьэкIэ щымыныгъэр нэхъ щызыхэпщIэр кхъэрщ. ГъащIэм и Iэуэлъауэм пэIэщIэ щIыпIэщ ар. Езы гъащIэ псори, псалъэмакъщ жьым, щIым, псым ягъэIуу. ЦIыхуращ абыхэм ягъэIу макъыр зытхыр, абыхэм я бзэр нэхъ къызыгурыIуэри усакIуэрщ. Бзэращ цIыхур псэущхьэм къыхэзыгъэщхьэхукIыр, ар пэбубыдмэ, псэущхьэ пщIащ, хуиту къэбутIыпщмэ, гъащIэм къыщыхъу псори къыбжиIэнущ. УсакIуэр мыпсалъэу щымыныгъэр тезыру теплъхьамэ, ар букIащ. Къат Фейсал къиIуэтащ щымыныгъэр зищIысыр: Щымыныгъэм и хэкIыпIэхэр Пшахъуэм сыхокIри Кавказым сыхуоблагъэ, ЩхъуантIэу, щхъуантIэм. *** Адыгэхэр Псым тет гъуэлъыпIэхэм щожей Нэхущым къыхэкIэну Щхьэмыжхэм пэплъэу. *** Мы гъащIэр, ПIалъэр пшахъуэкIэ щабж Лъэхъэнэхэм икIащ, ФIэкIри, Ухыгъэми хуеIэу щIидзащ. *** Доуэршэрри дыщысщ, Псалъэхэм япхъ ди Iупсхэр Зэдутхыжу. *** Псалъэр плъэхъэнри, ГъащIэр плIынри, Зыщ. ИIэщ гъуниплI щIым, Гъэм лъэхъэниплI Зы лъэхъэнэщ иIэр ФIылъагъуныгъэм. Уи нитIым хухэсхын Гъатхэр? *** Щымыныгъэмрэ Шылъэгум дэжэнымрэ Щытепщэм деж, ТхылъымпIэм зыщызоудыгъури, Псалъэхэм садоджэгу. ХьэрыпыбзэкIэ тха усэр адыгэбзэкIэ зэдзэкIа зэрыхъур ЗанщIэу зыкъэзумысыжынщи, пыплъхьэни пыпхыжыни щымыIэу усагъэр зэдзэкIа зэрымыхъур, псори арэзы зэрыпхуэмыщIыр жызоIэ. Ауэ, нобэ щыIэ IэмалхэмкIэ аращ сэ схуэщIэнур пхужыIэнущ. ЗэдзэкIын Iуэхур бзитIрэ зы зэдзэкIакIуэрэщ зэрыхъур. Ахэри щIэныгъэр здынэсам и къэухьым щиткIэ, щIэныгъэри къэмыувыIэу зокIуэри, пщэдей щыIэнкIэ хъуну къэхутэныгъэщIэр, абы и дыгъуасэм къэхъуа лэжьыгъэр имыдэжурэ е, лэжьыгъэм къыпищэу щытщи, гугъэщ, къэхъуну щIэблэр, къэхута хъуа щIэныгъэм и къэухьым итурэ зэрылэжьэнур-блэкIам хигъахъуэу, ар иригъэфIакIуэу. Iуэхум сыпэлъэщынукъым жыпIэуи, бгъэтIылъ хъунукъым, угушхуакъуэуи узыпэмылъэщынум уебгъэрыкIуэ хъунукъым-къэпщтамэ, плъэкIыр щIэ, къэкIуэнум нэхъыфI ищIын гугъэр уи гум илъу. Сэри аращ сщIар. ХьэрыпыбзэкIэ тха усэр адыгэбзэмкIэ щызэбдзэкIкIэ, усэм щыгъа хьэрып фащэр щыбохри, адыгэ фащэкIэ уохуэпэж, апхуэдэу мыхъумэ, оригиналым и щIэбзэр- и тэрмэшыр гурыIуэгъуей хъунущ, уи дыхьэшхэни къигъэкIуэнущ. Бзэр лъэпкъым и фащэщ, ар езым иокIуж, а фащэр нэгъуэщIым щыптIагъэмэ екIунукъым. Бзэм лъэпкъым и гупсысэкIэр къегъэлъагъуэ. ЗэдзэкIын Iуэхум и япэ лъэбакъуэр къызэрыщIидзэр оригиналыр гурыIуэгъуэ зыщыпщIыжынращ. Ар къыдыгурыIуа иужь, усэм хэт лъабжьэ псалъэхэр къыхыдогъэщхьэхукI, ахэр хэтынущ оригиналым и тэрмэшым. Къэтщтэнщ Къат Фейсал и усэ "Адыгэ цIыхубз" жыхуиIэр. А усэм къиIуатэр фIылъагъуныгъэ гухэлъщ, цIыхухъур адэщ, цIыхубзыр ипхъущ. Усэр къызэрыIуэтар хьэрыпыбзэщ, иджырейщ, жьы хъуа псалъэхэр хэткъым, мыгурыIуэгъуи къыхэхуэркъым-хьэрыпыбзэмкIэ тхами, зытепсэлъыхьыр хьэрып дунейкъым-адыгэ дунейщ: щIыпIэр Мейкъуапэщ, Псыжьщ, зэманыр иджырей зэманщ. Усэм псалъащхьэу хуищIар "Адыгэ цIыхубзщ". Зызыхуигъазэ цIыхубзым и цIэр ФэтIимэтщ. Усэр зэрыгъэпсар иджырей гъэпсыкIэщ: пасэрей усэ гъэпсыкIэм теткъым. А гъэпсыкIэмкIэ усэр сатыр 34 мэхъу, ар адыгэбзэмкIэ зэрыхъур сатыр 30, и оригиналым и гъэпсыкIэм ещхьщ и тэрмэшри. Усэр хьэрыпыбзэкIэ тхами, зы псалъэ хэткъым хьэрып щIыпIэцIэ къигъэлъагъуэу. Абы хэтыр цIыху псэми зэдай щыIэцIэхэращ: Мазэ, жэщ, бзу, уэрэд, уафэ, уэшх, псы. Ахэр псори щыхъумащ оригиналым и тэрмэшым. ИщхьэкIэ къэсхьа псалъэмакъыр щIэзукъуэдияр, фи фIэщ сщIын щхьэкIэщ, "хэхэс адыгэ литературэ" зэрыщымыIэнур, оригиналыр зэрытха бзэр иджырей адыгэбзэмкIэ зэмыдзэкIамэ. ЗэдзэкIын Iуэхур адыгэ лъэпкъым и пащхьэ къоувэ, емылэжьмэ, куэд фIэкIуэдынущ. Си гугъэмкIэ, ар Дунейпсо адыгэ хасэм и пщэм къыдэхуэ къалэнщ. Къалмыкъ Аднан Щымыныгъэм и хэкIыпIэхэр Пшахъуэм сыхокIри Кавказым сыхуоблагъэ, ЩхъуантIэу, щхъуантIэм. Зы бжэ Iузох, Сэ бжэхэм сащошынэ Iусх псори зэхузощIыжри, КъызэзонэкI. *** Гъуджэм бдзэжьей щос, Зы щыни мэIуей. Зы сабии щIопхъуэ Удз Iэрамэр гурымурэ зэхуихьэсыну. *** Адыгэхэр Псым тет гъуэлъыпIэхэм щожей. Нэхущым къыхэкIыну Щхьэмыжхэм пэплъэу. *** Гъуджэщ гуауэр Жэщыр иплъэу. *** Пщэдджыжьыр къоIэбэ, Дыгъэм и щхьэцыр ижьыну. *** ФIылъагъуныгъэр жыгщ, Бзум и усэ макъми Жьауэми дихьэхыу. *** Си гум ис Зы мыIэрысэр ФIылъагъуныгъэ гуащIэм ТIууэ зэгуеупщIыкI. *** Мы гъащIэр, ПIалъэр пшахъуэкIэ щабж Лъэхъэнэм икIащ, ФIэкIри, Ухыгъэми хуеIэу щIидзащ. *** Доуэршэрри дыщысщ, Псалъэхэм япхъ ди Iупсхэр Зэдутхыжу. *** Бзу нэф исщ Жьым и лъэдийм, Поплъэ, КъэкIуэну махуэхэм И нитIыр зэтрахыжыну. *** Сабийщ пIалъэр Зыгуэрхэр ЯтIэм тритхэу, Гум и къуэпсхэм ЩIэпхъуэу ис щыхьри. *** Сыкъэзыхъуреихьым и щымагъым Сигу къегъэкIыж Бжьамийхэм ису щIэпхъуэм И делагъэр. *** ФIылъагъуныгъэу пхузиIэмрэ, Псыхъуэм и уэршэр макъымрэ Дауэ зэхуэзгъэдэн? *** Щхьэгъубжэмрэ, ЩIым и нэз нэм къиплъыхьымрэ Я зэхуакум дэтщ Лъахэр быдэу Жыг къудамэм ещхьу ПцIанэу. *** Псалъэр плъэхъэнри, ГъащIэ плIынри, Зыщ. Щихур азэн джапIэмэ, Жьыра джакIуэр? *** ИIэщ гъуниплI щIым, Гъэм лъэхъэниплI Зы лъэхъэнэщ иIэр ФIылъагъуныгъэм. Уи нитIым хухэсхын Гъатхэр? *** Жьым хэджэгухь жыгхэм СагъащIэ, Хабзэмрэ, абджымрэ Хуэсакъын зэрыхуейр. *** Щымыныгъэмрэ, Шылъэгум дэжэнымрэ Щытепщэм деж, ТхылъымпIэм зыщызоудыгъури, Псалъэхэм садоджэгу. *** ПцIым сищIащ Гуауэр къызэрыщ Щхьэгъубжэ. *** Псыми жьыми СынывоупщI: ЦIыхур зыгъэпсэур Жьымрэ псымрэ? *** Удз гъэгъам сеплъурэ, Фэ зэмыфэгъухэм Я цIэхэр зызогъапщэ, ТхылъымпIэхэм хэс Уи жеин къэзыгъакIуэри содж. *** Блынхэм дызэрыжьэхэуэу, ПщIыхьыр мэувыIэри, Ину мэщатэ, Сакъыныгъэ фащэри зыщетIагъэри, Жьым хохьэж. *** Си бэтэгъейм къысхуехьыр Бжьыхьэ кIуам Бзухэм я гъусэу сутIыпщауэ щыта Си уэрэдым щыщ. *** Нэхъ гъунэгъу зыкъысхуэфщI Бзэ сызыпсыхьам Нэхъ гъунэгъу зыхуэфщI, ПщыхьэпIэм хуэдэу, Нэхъ жыжьэ сыфхуэхъун щхьэкIэ. *** Си гугъащ Блын щымым селъэну Ауэ, сехуэхри, КIыфIыгъэм сыхэхуащ. *** ЦIыхубзу Даущми, жьапщэми пхрыкIыу КъысхуэкIуар Гъуэгубгъум жыг къудамэншэу Сыкъытринэри, кIуэжащ. *** Гуауэм Iейуэ хэлъыр КъэкIуэнум щIигъэж нэпсхэм Зэрызыщигъэпсэхурщ. *** Къысхуэвгъэгъу, Си гум къыщыкI удзхэ, Къысхуэгъэгъу, гъуэгуанэ, Лъэхъэнэхэр кIэщI зыщIа. *** Си япэ лъэбакъуэхэр Сэзыгъэча цIыхубзырщ, Бзухэм я бзэр, Уэшхым жиIэри сэзыгъэщIар. *** Апхуэдэурэ Нэгъабэрей щхьэмыжхэм къапыщэщхэр Къыдощыпыж. *** Гугъэ тIэкIурэ, Уэм щыщ шхэпсрэ къызэти, ФIылъагъуныгъэ къутар Сыгъэшхэж. *** КIуам щыщ си Iэм илъу Пшахъуэм сыкъыхопщыжри, Жьыр щыятэ гъуэгум Сытожабзэж. *** IумыкIыну бжэм и пащхьэ Гур щыщIопхъуэ, Гъуэгум тет захуагъэмрэ, КъэкIуэнкIэ хъуну къуаншагъэмрэ Зригъапщэу. *** ФIыуэ узолъагъур Щхьэгъубжэм Iужеихьа мазэу, И пэрымэм игъуэлъхьэжа удз гъэгъа Iэрамэу, Псыхъуэм и гукъеуэр Зыхъумэ щихуу. *** Нэху Iуданэм срепхыр, Дызыщыгъуазэм адэкIэ щыIэ Дызыщымыгъуазэм хэт сэххэм, ИтIанэ, сигу къокIыж… *** Си гукъэкIыжхэм щопсэу ТхылъымпIэ псыпсым къыхэщIыкIа Зы бзу. НаIуэ сщищIащ, Гугъэмрэ Iугъуэмрэ Зэрызэмыщхьыр. "Дыгъэм и псынэхэр" Щхьэгъубжэ, Блын, Iуданэу къешх уэшхым Жейбащхъуэу пхрыплъ нитIым ЖаIащ: Си закъуэ сыкъыумыгъанэ! Сыуэрыншэм, Сыдамэншэ бзущ, Сыжыгыжьщ. Уи фIылъагъуныгъэр, Мейкъуапэ, Сабийщ, Сызытешыныхь мыIэрысэщ, Си бгъитIым щызгъафIэ щэхущ. ЖиIащ: Дауэ сыщIэпхъуэн Укъэзгъанэу, Си псэм жиIэмрэ Гъуджэу Псори къызэрыщ си щIымрэ, Си гум мафIэ иращIыхьащ, ЯщIащ Си тхылъри зекIуапIэ. Хым уекIуалIэри хуэпIуэтащ, Гугъу сызэрехьыр. Си нитIым уапэжыжьэми, си гум уисщ. Уи фIылъагъуныгъэм Сринэщ, Лъэхъэнэ хьэлъэхэм пхрыкIыу, Щэхуу ежэх псыхъуэм Къехьри, Си пкъым хегуашэ. Зы бзу цIыкIуи Тыгъэ къысхуещI, Лъэхъэнэхэр зыщIаупскIэурэ, КъысхуокIуэ. Зыдэзгъэзэжри, ЯтIэ унэщ. МэжэлIалIэр щIакIуэм теубгъуауэ, ПIалъэми иткъым, Хэткъым Жыгхэм я пщIыхьми. Удз гъэгъахэм фызот, Си фIылъагъуныгъэри, Сигури, Си шыIэныгъэу губгъуэм итри. сыздахьыну Сапоплъэ ГъуэгурыкIуэу къызблэкI махуэхэм Зы ткIуэпсу Си псэм щызгъафIэр, Лъэхъэнэхэми пхрыкIыу, уэсри тафэхэм Усэу къыщесу, Узми пхрыкIыуэ ТхылъымпIэхэм зыщигъэпсэхуну? Си гукъеуэр ЩIэпхъуэу сабий пцIанэщ. Удзым псыр къызэрищIэу, СыщIимыгъэхьэну Бжэр хуещIыр . Нэфщ КIыфIым хэсу Жыг щхьэкIэхэр пебжыкIри Исщ кIыфIыгъэм, Псыр утхъуауэ ехьри Си тхыгъэхэми хеутхэ. Си махуэр Зэрыстхэ тхылъри ЩэIу макъыр къызытещ гъуджэщи, Къощыр Нэхугъэр зэпщIыхьыр. Яхэсщ ТхьэмыщкIэхэм, Шей ядофэр. Уэрэ сэрэ Тхьэ зэхуэтIуат фIылъагъуныгъэр МафIэм щытхъумэну. Дыгъэм и псы къыщIэжыпIэхэр Жьапщэми имыхьу Дыуэу зетхьэну. Уэрэ сэрэ Ажалми, Пшэм къытхуишэнкIэ хъунуми, ДедаIуэрт. Иджыпсту Си гуауэми, сыщизакъуэу, СыноупщIыр, Дэнэ укъикIа? Пшахъуэри быдапIэри, Дауэ къызэбнэкIа? Тхыдэ бгынэжам И щIыбагъым удэта? МафIэм къыпыхуа мазэ Уи закъуэу Бджыну гугъущ Пшахъуэрыбжэ тхыдэмрэ, Жыгхэм я таурыхъымрэ. *** Гугъущ, Щхьэгъубжэ щэхум уIусыныр, Уи гум Псыхъуэ миныр щежэхыуэ. Гугъущ Губжьым упхрыкIыныр, Дыгъэр зытепсэ гъуэгум, Зыщыбгъэину, Гъуджэрэ блынрэ, Къыщыплъыхъуэныр. Ущыхуейм деж угъыфми, Узыхуей жьапщэм ущхьэдэхыфми, Гум и къеуэ макъыр щызэхыумых, Уэшхым адэкIи ущизакъуэныр Гугъущ. Си мэз гуауэм сыщыхыхьэкIэ Адыгэр МафIэм къыпыхуа мазэу солъагъур. ХамэщIым Ар нэхъ ину къысщохъур, ХузиIэ фIылъагъуныгъэм, И щхьэгъубжэм къыдолъри, Гъэр сещIыр. Срегъэхь жьапщэм, УIэгъэжь си гум телъым. Къызолъыхъуэ уи нитIыр, Уи IитIым дищIа фор. Си ажалыр Зыхэлъ шыбгым СоIэ сихутэну, Гум щибампIыхь даущми СыкъикIыу Жыгхэм уэрэд яжесIэну Сыхуожьэ. Къызолъыхъуэ СабиилъкIэ тхьэщIа розэ, Нэхущ аятхэр Зэритха тхылъ, Пасэм Дыгъэбзий къызыдидзу щыта Щхьэгъубжэ. Къызолъыхъуэ Зэманыжьым щыIа щхьэгъубжэ Дыгъэр къыдидзу, Бзури дэлъэтыкIыу щытауэ. Пщэдджыжьу -Сигу къокIыж- ЗгъэкIа щхьэмыжхэм щеIэм, ЖиIащ: "Сыптхьэкъуащ. Псыжь Iуфэ щыбгъэкIа Къамылхэм сишэ, Зым сигъапщи, МафIэр згъэункIыфI, Хэхэс гъыбзэр Уи нитIым щIэзгъэху. ФIылъагъуныгъэкIэ згъэкIа санэ! Жэщ уэршэрхэр усэу Щызэхаухуэна хьэщIэщ! ЩIэдзапIэхэм я мэр къызыпих, Псынэ щэхур зи тIысыпIэ, бзу! Къэлъати къызжеIэ Мы къалэхэр, ЯтIэ унэхэр къэзгъэуэну, Хьэ щэхурыпхъуэхэм Я пщIыхьыр икъутэну, ЩIыр игъэзджызджу КъытхуэкIуэнум и теплъэр. Гуауэм и хытIыгу Псалъэр щыкI хадэм сохьэ, Нэхум хэс хьэндырабгъуэр, МафIэр, Узыр зыгъэкъабзэр, Субыдыну. *** Хыр жыжьэщ. Гуауэри, Хы тхьэрыкъуэхэм я нэм исщ. Жагъуэу зызышыхь пшагъуэм Жыгхэм зытрашыхь. *** Мейкъуапэ унэмысу, Удзи къыщымыкI хуейм, Псэри щыпIейтей Iуащхьэм Къыщыфэрт Жьы, Къабзий, Гъуэжькуий зищIу. *** Дэнэ къикIын псалъэр Гур гъэрыпIэ исмэ, Щхьэгъубжэр зэхуэщIамэ? Псыхьэлыгъуэу Ин хъу пщIыхьри Дауэ жьэдилъэфэн? *** Псыежэхыр мэгубжь, Iуфэри Iуеуд, ЩхьэзыфIэфIуи мажэ. Си пIэм сыкъикIыну МафIэу сызэщIонэ. Уэгу къащхъуэ хуиту, IуданэкIэ хъа пщIыхьым И кум ситIысхьэну, Си псэр мэхъуапсэ. *** Жьгъейми, Уегъэуз, ЩыхупIи унехьэсыф. Уэздыгъэхэм, Жыг лъэдийхэм, ФIылъагъуныгъэ псалъэ, УIэгъэ теплъэ иIэу, Къаплъэу дагъэтхыф. *** ЗэпэIэщIэныгъэм и дыджагъыр, Жьым къыщыбжыхьыныр, Зыгуэрхэм телъыджэ къахэпщIыкIыу зыпщIыныр, Къалэхэр ятIэу, Щымыныгъэ шынагъуэм уисыныр, Псэр хэзытхъ къудамэу Жыгхэм зезышыхьэкI Псэхэх къудамэщ, Ажалщ. *** Абджыпсым ис гум Гугъи бгъурысу, ФIылъагъуныгъэ къыщоуш. Бзухэр къызыдэлъэтыну щхьэгъубжэр ЗэрыIутхыу, Жьапщэр къыщIоджалэ, Къыдэжьэу щытам ещхьу. *** ДыгъэпсымкIэ сотх, Гъуэгу мыгъуэ гъуэгуанэр, Зи псэр хьэдагъэу, Зи кIэр хьэдагъэр. *** СыщIопхъуэ къэзубыдыну КъысхуэкIуэм и джанэкIэр, Щыхь сурэт, Гукъеуэр къызыдэлъэт Щхьэгъубжэ хэздыкIыну. *** Зыхузогъасэ, Даущым сыкъеджэну, Губгъуэ гуакIуэм Ситу сыджэгуну, Ежьауэ къэт бзум Зэрежьэр зыхэсщIэну. *** Си гур йожьэ, Уэшхым пхрыкIыу. «Визэ» иIыгъщ, Щихухэм я щэхухэр, ЯтIэ IэмыщIэ, Гукъеуэм ирихьэну. *** Тхыдэм ещIэ, Узым, Гъуджэ зэблэшам адэкIэ Дыгъэ къызэрыкъуэтыр. *** Сызыпхрыплъ абджым Бзу гуп щызэрызохьэ, Къемыпщэ жьым хэт яжьэм И къуагъым зыкъуагъапщкIуэ. *** Псыежэхым ещхьу ГъащIэм сыдокIуэкI, ПшахъуэщIым зыдызоущэху, ГуфIэгъуэм и кIэр солъагъу БлэкIар къысхоуэ. *** Сежьэу сыIутщ Iуамыхыну щхьэгъубжэм. Сотхыр лъахэ, ФIылъагъуныгъэ, ПIалъэр зыбж вагъуэ. *** Гукъеуэр зыкIуэцIылъ мыIэрысэ сIыгъыу, Зы ткIуэпс гуапагъи къыспыткIуу, Зы гугъэ ткIуэпси къызэткIухыу, СыхуокIуэ Шындэбзий зэхуэщIахэм Я къуагъым къуэт КъэфапIэм. *** ГукъэкIыжхэр зыупцIэн Гуауэр кIыхьщ. Пэплъэныгъэр зыбж Пшахъуэри куэдщ, Псори зыхэхуэж хышхуэри куущ. *** Ущызбгынэм Си гур Зэбгрылъэлъащ, ИтIысхьащ гукъеуэр Си лъахэ хытIыгум. Си шыкIэпшынэмрэ сэрэ Ди закъуэщ. Жыгми Зы бзу нэф тесщ. Согъей Хьэндырабгъуэр зыху жьапщэр, Махуэ блэкIахэм Я щхьэмыжхэр. Хэхэс гъуэгубгъум Iут лIыхъужь уэрэд Жэщым зызыхеш, Гукъеуэми зрелъэфыхь. Ди къалэм и гъуэгухэм Сыщохьэулей. СызришэлIэну ЦIыхубз къызоущэкIу, Си гуащIэр, гуауэр, Си Iэпкълъэпкъри Къыздигуэшыну. СиIэкъым, ГуащIэрэ гуауэрэ, Iэпкълъэпкърэ нэмыщI. Мыбдеж щыIэр Мазэщ, Уэшхщ, жэщщ, гуIэщ- ГуфIэр, псалъэр Жыгри пцIанэщ, Щыгъыр Гъуэжькуий къепщам Щитхъауэ. Гъуджэм соплъэри СыкъокIуэ. Сызэщхьыр делэщ, Щхьэпылъэ ящIа хейщ. Хамэныгъэр мэкI, хохъуэ, Си нэкIум допщейри, ЕупцIэн. Уи гур си унэщ, Уи нитIри си унэщ, Сэри хамэщI сисщ. ЯтIэм сыхэнауэ, Къызолъыхъуэ си унэр. Сыту гугъу УзэкIуэлIэжын унэ УщимыIэныр Мы дунейм! Си унэр Хамэ ятIэм къыщызолъыхъуэ. СыткIэ щхьэпэ Усэ зыфIэсщ Иджыпсту стхыр, ФIыуэ слъагъухэм я нэхэр, Я унэхэр жыжьэу. Си гур си унэщ, Си унэщ уи нитIри, Сэри хамэщI сыщоин, Хамэныгъэри мэин, Нэм къилъагъур, Ирифурэ, Iум фIэфIри ишхыурэ. Си макъыр соIэт Жьым, удзым, жыгым ЦIыхухэм, Накъыгъэхэм сайупщIу: ФIыуэ слъагъур КъывблэкIа? Я пэIур Сэшхуэу Дзажэхэм пхрокIыр. ФIылъагъуныгъэмрэ усэнымрэ япэу сэзыгъэщIар «Нахьур»* сыкъыщалъхуащ, Бзур, жьауэр, КIыфIыр щыпсэум. И уэрамхэм, И щIыпIэ бгынэжахэм, ФIыуэ зызылъагъуж И жэщхэм къыщызжыхьащ, ТхьэкIумэкIыхь гужьеям ещхьу. Си япэ лъэбакъуэхэр щысчащ, ЩызэзгъэщIащ Удзымрэ мэкъумрэ я бзэр, Хьэмхэм, жызумыпкъэхэм, Щихум, Мазэ Iупхъуэм Усэныр сагъэщIащ. Жинми удми ИращIэкIа таурыхъхэр СигъэщIащ «Нахьур». Жэщхэри кIыфIт, Бгым къыгуэхуауэ. ФIыуэ слъагъуу къысфIэщIым И цIэр тестхат ЯтIагъуэм, Щихуми, ахъуэми. ФIыуэ слъэгъуати, Си гугъат Уэрэдхэм я тхыбзэр сигъащIэу, Жьым тезытхэ усакIуэ СищIыну. Уафэри Унащхьэ лъахъшэт, Нэхури хуабэри Къысхуишэу. Ей, «Нахьур»!* --------------- *УсакIуэр къыщалъхуа къуажэм и цIэщ. Дызэрыт лъэхъэнэм и романтикэ лIэужьыгъуэхэр 1 Илъщ си гум Уи фIылъагъуныгъэр, Гъаблэм къэгъэгъа Жыгыжь къудамэу МэкI, мэин, Зеуфэбгъу, Пшыналъэщ, Къудамэщ, Хьэндырабгъуэу, Нэхущым и IупитIым, Бзу уэрэд къыщыпеч. 2 Си нитIыр уи нитIым ЗэрыщIэплъэу согуфIэ. 3 Узолъагъур, УкъэкIуатэу узолъагъур… УпхрокIыр пшэм, Зэхэлъадэу зэхэжыжым. ПIалъэр пщIыхьщ. УкъокIуатэ. Дыгъэщ. УкъокIуатэ. КъэкIуати, сызыщIэшэ, Уи гум сешалIэ. Уи нэ гъуабжитIри, Набдзэм къуэтщ. Сызыщыгъэгъупщэ. 4 Гум къыпыткIу лъыпскIэ Къуажэ блынхэм, Щхьэгъубжэхэм, Жыгхэм уи цIэр Тестхащ. СыкъэкIуэнущ, СыкъэкIуэнущ жысIат. Укъыспоплъэ, Сыныппоплъэ. ФIыгъуэм и жылапхъэр, ГъащIэ тфIэкIуэдам хуэдизу, Щымыныгъэм и гум, Мазэми тызопхъэ. Зэман кIуэдам папщIэ дзапэ уэрэд ГукъэкIыж ГукъэкIыж псыпсым АдэкIэ, Узолъагъу, си щIасэ, Пшэплъыр уи IупитIу, Уи щхьэц ухуэнари, ТхьэIухудым ейуэ. Хамэныгъэр Си лъым хэт усэныр Бзу Iэпхъуэшапхъуэщ. Уэри пшахъуэщIым уисщ. Си щауэ уIэгъэр, МафIэм итхьэкъуарщ. Жьым сыхуоусэ Пшахъуэм ар тетхащ, КIэухыр къеIуатэ, ЩIэдзапIэу ар щытащ. КIыфIыгъэр ИгъащIэми, Зы жэщи блимыгъэкIыу, ЯтIэми хэлъу Си къуажэр мэжей. Мэз кIыфI бгынакIэ Абы зихъуэжащ. ФIылъагъуныгъэр щымащIэщ, Псыри нэхъ мащIэжщ. ГъащIэр, ГъащIэм зыщегъэхъей. Тыншыгъуэ Мы щIыпIэм сыщоткIу, Си псэри щыхокI, Си гъащIэри сIэщIокI, Сыгъэрщ. Кхъахэщ сызэрысыр, Ныбжьэгъуу щызиIэр Жэщу къыстеуэрщ, Си гъащIэм и гъэгъар, Гукъеуэу сызыуIэрщ. Сызытхьэлэну псым Уи щхьэц ухуэнар Къыхэдзи, сыкъегъэл. ПщIыхьэпIэр СопщIыхь Нэ фIыцIэхэм, Щхьэц ухуэна зэтхауэхэм, Гъуэтыгъуэ хъуаскIауэм, ФIылъагъуныгъэм И кIэух гуIэ плъам, Дыплъэми дымылъагъуну, ДыIэбэми дызылъэмыIэсыну ГъащIэм сопщIыхь. СыкIуэцIролъэт, УпщIэр и кIэм нэзмыгъэсу. УдзыпцIэм, Мазэм Iуфэ гуфIэхэм, ХытIыгу жыжьэхэм, Уэгум IэплIэ хуэзыщI Кърухэми сопщIыхь. СопщIыхь къалэжьхэм, ПсысэкIэ зэщIэбэтауэ, Нэр зыпхъуатэм, ГъащIэ бэвым Уизышэм. Хъарзынэ лъыхъу ежьахэм Я пхъуантэм Сыдэплъэну сопщIыхь. Я сабиигъуэр Дыгъэм, хым IэплIэешэкIкIэ дэлъэтахэм; ГуфIэгъуэ щхьэкIэ, Махуэм и пагагъэмкIэ Зи нэкIухэр зылыпщIахэм, Садэпсэуну СопщIыхь. Гуащэхэм я пащтыхь! Зэгуэр Е зы пщыхьэщхьэ гуэрым, Дунейр зыщIэлъыщIэса ФIылъагъуныгъэм и щауэу Нэху сыкъекIыну СопщIыхь. Нэ фIыцIитIым щыхьэулея Си уэрэдыр, Уэгуми щыIуну, Сопсыхь. Псым и гум илъыр ЖысIат, СыбгъэдэкIыжынщи, Си закъуэныгъэм згъэзэжынщ, ЛIэныгъэр Си гум илъу ЖысIат Гъуджэм, Псым и гукъэкIыжхэм, Жыжьэхэм, Жэщ уэшххэм щыслъагъунщ. IэплIэ хуэсщIынщ ЖысIат, IущхьэкIэ, Усэ лъатэхэмкIэ, ПщIыхьэпIэкIэ Махуэхэм я тафэхэм Хэлъ щхьэгъубжэм Iуту Слъагъунщ. КъыхэсщIыкIыну жысIат: Мазэ, Жьым къуэт пщIыхьхэм Хэту, КъэкIуэнкIэ хъуну пIалъэм И гуащэ. Псыежыхыр жыжьэщ Мазэр Уи нэ мэзитIым исщ, Псыри жыжьэщ, ЧэруанакIуэми, Уи IитI тафэм Зыщеукъуэдий. Сигури, Си псалъэхэри дызопхъей, Уафэ гурымым, Псым зыпрокIри, ПIалъэр щыпсэу Сахуэм адэкIэ сокIуэ. Си усэм Зэман увыIам, Уэшхым сакъыхуоджэ, МафIэр зи тетыгъуэ Кавказым и бгым сыщхьэдашэх. Сыту гугъу, А гъуэгуанэр! Лъагэщ жыгхэр, Хэхэс жэщхэр кIыфIщ. Щытщ, Уз егъей, Псыри жыжьэщ. Жэщ кIыфIхэм сахьыр, Си усэри, Си ныбжьри, Жыгхэри яхьыр. Вагъуэхэм адэкIэ Нып фIыцIэхэр Уафэм щоуфафэ. Псыжь Iуфэ УсакIуэшхуэ МэшбэщI Исхьэкъ, си ныбжьэгъум, хузотх. Си гъуджэм Укъытохъухь Таурыхъхэм хэт Iущхьэу. СыкъикIыжащ Дызыщымыгъуазэм, Нэхум хуэлъэ Хьэндырабгъуэу, Дунеяплъэ тхылъу. Уэгу джэгу дыкъикIыжри, Дыкъэфащ Лъэншэу. Си фIылъагъуныгъэм и тхыдэр Жыгым хуэсIуэтати, Гъащ. Удзым хуэдэу уIэфIщ, Уопсыпс, ПщIыхьым ещхьу. Си пщIыхь Iупхъуэм ущыпхрыкIкIэ, МыIэрысей Си гум щокI. СыкъыпхуэкIуащ, Псым и лъхуэгъуэм, Зэхэухуэныхьа хуабэ Къызэптыну. ПщIащэ бзу пфIэсщIри, Уи лъыхъуакIуэ, Пшахъуэм сыхыхьащ. СыщыхьэщIащ Псыжь, Си фIылъагъуныгъэм и мейр Къэсщыпыну. Мейкъуапэ и щхьэгъубжэхэр КъуэкIыпIэмкIэ гъэзащ, Дэт щыхьхэр, МэзокIуэ Щэхуу. Дыжьыныфэ бзур лъэтащ. Си фIылъагъуныгъэм и таурыхъыр Жыгым хуэсIуэтати, Гъащ. Удзым хуэдэу угуакIуэщ, ПщIыхьэпIэм хуэдэу уопсыпс. Си пщIыхьым Iулъ Iупхъуэр зэрыIупхыу, МыIэрысей Си гум къыщоуш. Псыр къызэрытехьэу, СыныпхуэкIуащ, Хуабэ къэслъыхъуэу. Сыгурымурэ, Гуауэр зыщIэз нэгухэм СыщызокIуэ. Сыкъудамэ къыпыхуащ, Сыщыгъуэщащ Къалэ ятIэм и унащхьэм. Уи нитIыр къыщызолъыхъуэ Гъуджэ щымым, Си гум щежэх Псым. Ныбжьэгъугъэм сигъэжейркъым Кфар Камэ къуажэ щыщ Абрэдж Сэхьид хузотх ГурыщIэхэр къыщыуш жэщхэм Собжыр: Жьыр, Уи IитIым щыжей хьэндырабгъуэр, Псы ткIуэпсхэр, Удзым хуэдэу Бауэ упщIэр, Бзухэм ещхьу лъатэ Вагъуэхэр Уи уэршэр IэфIым, Лъэхъэнэхэм пхрыкI Ныбжьэгъугъэм сыхашэ, Зы дызыщIа Щхьэгъубжэм къыщыдэплъкIи, Жейр сфIагъэкIуэд, Ныбжьым хуэдэу, Таурыхъыжьхэм хэт сыринэм ЙофиикIри, Уэгум йохьэж. Уэращ Си щэхуу Пщыхьэщхьэ тхыгъэхэм Къыщыслъыхъуар. КIуэда сфIэщIати, ЗагъэпщкIуауэ къыщIэкIащ. Дызэхуэзэжынукъым жиIащ. АдэкIи Хы Iуфэм и кIыхьагъ Псалъэмакъ иукъуэдиящ Псыр къыщиум Мо нитIым яIыгъа нэпситIу. Уэращ си щэхур. Щэхур нэхъ ин хъуху, Пшагъуэм ещхьу, Дэри нэхъ ин дохъу. ДыщешкIэ, Щхьэгъубжэхэм долъэт. Тафэт гуауэр. Дыщыджэгуащ уафэм, Хадэм хэт бзууэ ДытIысри, ГурыщIэ щэхухэр Гъуэгу махуэ тедгъэуващ, ПщIыхьэпIэм и хъым Иубыдауэ къэзыкIухь Ажалыр ди гъэрти, Вагъуэу Уафэм щиткъухьащ. Си ныбжьэгъу! Уэрэ сэрэ дыщыIэнщ, Жыгейрэ Псыжьрэ, Уафэр щыIэху. Нэпсым и гъыбзэр КъэзыIуатэ псалъэхэр исми, Ди сахуэр Къэнэнщ. Мейкъуапэ-жыгхэм я гъуджэ Сэ Мейкъуапэ фIыуэ солъагъу, Езы Мейкъуапэ Псыхъуэр фIыуэ елъагъу. ПсымкIэ зоплъыжри, И щхьэц ухунам и щэхур Дыгъэм хуеIуатэ. Бзухэм я бзэми, Хым и бзэми къоджэф. ЗэгуэкIуахэм Ягухэр зэхуехьэсри, Сыринэм нэхъ ещхьу, Удз IэплIэ ещIыф. Жыгхэм я щэхухэр, Я щэIухэр Лъагъуэ трешэф. Щхьэгъубжэм Iутщ, ФIылъагъуныгъэм итхьэкъуам ещхьу, Удзым пщIыхьыр къыхещIыкI, ВагъуэкIи зегъэдахэ. Итхьэкъуа усакIуэр Уэгум ирешэ, МафIэми хешэф. ЩIеуфэ Жэщ хьэндырабгъуэхэр, Уэшхым и тхыдэм и щэху. ПцIанэу дыгъэм йокIуалIэри, Бжэр иредзылIэж. Гъуэжькуий къуагъым, ГъащIэ увыIар щеущэху. Жыгхэм я гъуджэхэм хуэдизу мэин. Нэхум хуэлъэ хьэндырабгъуэу, Вагъуэм и нитIым, Уэшхым, ФIылъагъуныгъэм итхьэкъуахэм Я цIэхэр Третхэ, Ирепхъэ уэгум Гум щыгъагъэм и тхылъхэр. Мейкъуапэ фIыуэ солъагъу, Езы Мейкъуапэ, Псыежэх и щIасэщ. И нитIым щиущэху гъагъэм СызэрыщIэупщIэу, СызыIут щхьэгъубжэр хуещIри, Дыгъэм зыщегъэпскI. Си Iэпкъылъэпкъым хэлъ сэшхуэр Удыгъэу ба щыпхуэсщIым, Си IупитIри, Си сабиигъуэри исащ. Убзууэ сыщоIусэм, Си гум щыщIэм И псалъащхьэхэм Укъеджащ. *** Гукъеуэм и мазэ! Жыгхэм я гукъеуэ! Удзым, уэшхым хэту Къэзыжыхь щыхьщ Пшахъуэм тесщIыхьар. *** Сэшхуитху Си Iэпкъылъэпкъым щыпсэуми, Сыщысщ, Щихур зэжьэ уэшхым Сэри сожьэ. *** Си нэхэр Зытеплъыза Гъуджэм ислъэгъуар Жьым тесу Гъуэгу техьэ Сабийщ. *** Угъуэщэныр сыту гугъу! Хэхэс жэщыр Сыту кIыхь! Зэман къэувыIам И сахуэм сыкъыхэкIри, Уи гум и тхыгъэхэм сахыхьащ, Псым щыдгъэпщкIуауэ щыта ПщIыхь уэзгъэлъагъуну. *** ПшахъуэщIым хэт Къалэм и уэрамхэм СыщыпкIэлъыжэм, УкIуэдри, Къэхъугъэм тепсэ дыгъэпсым Ущыслъагъужащ. Блыным селъэу Сыщыббгъэдыхьэм, Ажалыр къызэIащ. *** Уи нитIым и хьэтырщ, Си щхьэмыж, Мы псалъэхэр щIэстхыр. Хъыданыжь, Тхылъыжь пхузохь, Жьауэрэ ефапIэрэ Зэслъытэну. *** Бжэр Iусхыу Хым сыщыхуэкIуэм, Уи гукъеуэри, Уи жьыгъэри КъызыIурыуащ. Пшахъуэмрэ КъысIурыплъыхь нэхэмрэ Сахэпшри, Ппэжыжьэ сыпщIащ. Дыгъэм и тхьэмпэхэм тету Уи цIэм сыкъеджащ. *** Си тхылъымпIи Си Iи, мис, Мыр сэращ, Мыр си жыгщ, Си пкъым щыщщ. Мыр си унэщ, си щхьэгъубжэщ, Къащтэ узыхуейр, Ауэ сынолъэIу, Къысхуэгъанэ Си гум илъ Iущхьэр. *** Си псэм сигъэщIащ Дыгъэм хэлъ щхьэгъубжэмрэ КъэхъукъащIэмрэ Зэрызэпашэч щIыкIэр. КъакIуэ, Пшэм къыхэдгъэщIыкI Уэшхым ещхь джанэ. *** СызэрыцIыкIурэ Уи нитIыр Къыщызолъыхъуэ Удзым. Жьым сыхэту, Уи IитIым сису Усэ сыкъыпхуеджэну, Си дыгъэр Уи IитIым щызгъэпщкIуну. Си махуэхэм я Iущхьэ- ПщIыхь дахэ, Псыежэхым ещхьу КъакIуэ, къакIуэ!! *** Накъыгъэм нэхъ уещхьу Псым и пIэщхьагъым Утестхат, Щхьэгъубжэ плъыфэ усщIри, Жьым ухэту ПIалъэ къэкIуэнум Ухэсшат, ПшахъуэщIым и гум илъ ФIылъагъуныгъэм и тепхъуэр Тесхри- Си гукъеуэр щIакIуэти, Зытеспхъуэжри, сежьэжащ, Псыежэхым Гухэлъ усэ сыкъыхуеджэну, Си гукъеуэр, Пкъынэм и гъуджэм Теспхъэну сыхъуэпсат. *** Си псалъэр мэкIуатэ, Зыхеш, Жыгхэм, Азэн джапIэм ещхьу. Гъуэжкуий щIыкIэу КъэкIуэну пIалъэм Сэ сопщIыхь. Дауэ зэхуэзгъэдэн ФIылъагъуныгъэмрэ КъэхъункIэ хъунумрэ? Си гур, ФIылъагъуныгъэр щхьэгъубжэншэу Дауэ сыпсэун? Уи нэ накъыгъитIым ХэздыкIынут ГуфIэгъуэ бжыхь, е Iэпщэхъу… *** Си япэ фIылъагъуныгъэ, Япэ нэхущ, УдзыпцIэ, Iущхьэ нэщхъей! Пшахъуэм и джанэу Ди гъащIэм ей! Жьыгъэм и гъуджэ! Ди нэкъыфIэщI бжыхьым сыкъуэтти, СыныпхуэкIуащ, Си узым, Удзым щыщ гуэр Уэстыну. Усэ кIэщIхэр Нэхущым и гъуджэм Ис нэ пшагъуэхэм ЯIуэт Жэщ джанэ. *** Си ефэгъуэ махуэм СыщIэсщ сыгубжьауэ, Щхьэхуэпсалъэ сыхъуауэ. *** ЩIэхуауэ си лъэр, Псынэхэм собакъуэ *** Мы дунейр Итщ си щхьэм, Уэрэди къыщреш. *** Тутын, Газет нэщхъей, Жьы мыхъей. Си гъуджэм Сытри, Дауэ блэкIрэ, ПIалъэрыбжэм сыдэбжэху? *** Щхьэмыж епэзэзэхым Хэлъ щхьэгъубжэм Къыдэлъэт бзум Ажал къысхуехьыр. *** СиIэ псори уэстащ, Къысхуэнар ГъэщIэгъуэнщ. *** Блын, Щым, Узыр хьэмщ, Уэшхыр къехьыр, IэбжьыбкIэ. *** Дыгъэм Iулъ абджым Зэрыжьыхэуэу, БлэкIам ебгащ. *** ПщIащэ НитIым, Я къэгъэщIыгъэщ си гур, ПщIащэм и гуауэм ису. *** Жьым хэт хъыбар нызогъэхь, Сызэрыщытыр Мэз сахуэм жесIэну. *** Жыг тхыцIэм Тесщ гуауэ. Мазэ къэзыкIухьым Уэгур и гъуэгужьщ. *** Си гуауэм и хьэдэр Жыгым зэресту, ГущIэгъу зыхэлъ бзухэр Си Iэгум къитIысхьащ. *** Си джэгупIэ дыгъэм СызыщIэгупсысыкIыжу сисщ. *** Уи нитIыр къэслъыхъуэу, ПшахъуэщIым сызэрихьэу, Гъуэгур согъэкIуэд. *** Хым сызэрынэсу, Си гур къоувыIэ, Хы тхьэрыкъуэ нэщхъейр Уи нитIым щIоупщIэ. *** Псым, блыным Сапх. Сызыгъэуназэ гукъэкIыр Хышхуэм хуэдэу Мэхъу инышхуэ. *** ЩтапIэм сыкъыщоджэ, Щымыныгъэм И зекIуэ хъыбархэм. Си гугъэхэм Хадэ,уэшх, щхьэгъубжэ КъыхэсщIыкIыну сыхэтщ, Си пщIыхьхэм IэплIэ ирашэкIыу. *** Вагъуэм ещхьу согурым, Псоми сажьэхоплъэ. Псыр къызэриууэ, Нэрыплъэр сIэщIеуд. *** КъэуIэбжьыныгъэм И бгылъэм, Си гупсысэр щызокъухь. СотIысыжри, Бэтэгъейм- Бзум сожьэ. *** Сыту кIэщIт Япэрей махуэхэр, Уэшх дыщихъухьащ, Я дежи дгъэзэжынущ. *** СыщымыIэхункIэ Жэщыр къэувыIащ. Сызышэжыну бзуми Къигъэзэжакъым. *** Къумым и даущым сисщ, И уафэм сыдоплъей. *** Си Iэгум ис вагъуэм КъриджыкIыну хэтщ Абы усэ истхар. *** МэкъупIэм сапхыкIри СыкъыпхуэкIуащ, Нэхущ IэмыщIэрэ Зы усэрэ сIыгъыу. *** Псыр ди зэхуакущ, Сэри сыныбжь къудейщ, ЕсыкIэ сымыщIэу. *** ПщIыхьыр зэпоудри, Жьы бампIэгъуэм сошэс Пшахъуэм хэт, Уафэм дэпыджей унащхьэхэм СахуокIуэ. *** Гъуэгубгъум сытохьэ. Уи нитIыр, ГъащIэм и гъуджэм ещхь гуэр Къэслъыхъуэу. *** Си гур мыIэрысэщ, Тыгъэу ар уэстащ. ФIылъагъуныгъэ усэм, Дыгъэм зыхуегъафIэ. *** Уи гурылъыр щхьэмыжщ, Зэман блэкIам щыIа Къалэ къилъыхъуэу. *** Си фIылъагъуныгъэм Iэпщэхъу хызодыкIри, Жьым хэт бзууэ, Уи деж нызогъакIуэ. *** ЩIы хъеям сыкъелауэ, ЛIахэр къыщызбжым, Си бзэм укъизнащ, Уи гъащIэр ажалыншэу. *** Зы къудамэм Къыдэж къудамэр, Псантхуэу зыхызощIэ. *** Си кIуэдыпIэ къалэм, МафIэ лъагъуэ хэшащ. Уи нитIри, Си быдапIэри, Абы къыщызожьэ. *** Уи бжэщхьэIум сызэребакъуэу, Тхьэ солъэIу, Хым сыпхришыну, Щхьэгъубжэ къызитыну. *** Си гум къыпылъэдащ, Уи Iупэм Iулъ Iущхьэр, Псыежэхым ещхьыр. НэгъуэщIи сигу къэкIат, И цIэр къысхуэщIэжкъым. *** СыздыщыIэ щтапIэм, БампIэгъуэ щыкуэдщ. Дыгъэм щыгъ джанэм Iэ дэслъэну соIэ. *** СIэщIэлъ Iэгубжьэ фадэм Силъщ сигъуэлъхьауэ. Даущым и пшынэбзэр, Пхуэзгъэджэну сопабгъэ. *** Си гупсысэр узым ЕущэкIури, иреш, ДэкIыпIэ зэвхэм, кIыфIхэм Щхьэгъубжэ зыхэмылъхэм. *** Псори пщызыгъэгъупщэ щхъухь, ГуфIэгъуэ къезыхьэкI бзум, Къызеутх. *** ПсэкIэ зыхэсщIэр ТхылъымпIэщ, Махуэхэр Губгъуэ бжэнщ. ГущIэ къеблар Дауэ хуэзгъэдэн Псым и щэхухэм? *** Мейкъуапэ сыдэту, Нэху къызыдидзыми сыIуту, Сигу укъэкIащ. *** Уи фIылъагъуныгъэр Нэхущ бауэщ, Удзым, Бзу жейбащхъуэм И нэхэм щIэту. *** ГъащIэм дигъэщIащ, Дауэ дыщымынуми, Дауэ дылIэнуми, Пшахъуэхэм Я зэхэхьэ-зэхэкIхэм Дауэ дыпхрыкIынуми. *** Сызыхэлъ сахуэм СыкъыхэтэджыкIри, СынэпхуэкIуащ, Ди зэхуаку дэлъ жыжьагъыр Къэзбжын щхьэкIэ. *** Уэрамым ужьэдилъэфауэ, Уи ныбжьри щызмылъагъужым, Гукъыдэжыншэ сыхъуащ. Сытми пхрыкIыу Псыежэхым иIыгъ гъуджэм Щихури, Си щIасэри къощ. *** Си щIасэм и жыгхэм, Дыгъэ бзийр допщей. *** Даущым хэт сыринэр, ФIыуэ слъагъум IэплIэ хуещI. *** ПшахъуэщIым игъуэща чэруаныр, Си щIасэм И щхьэгъубжэм Iуохьэ. *** Си щIасэм и IупитIыр къилъыхъуэу, КъэфапIэм Зы тутын щIэтщ. *** Хэхэс щIыпIэм Щыкуэд гукъеуэр, Удзми, яжьэми пхрокIри, Си щIасэм деж макIуэ. *** АдрыщI Ныбжь щыщIопхъуэ ФIыуэ слъагъум И гъуэгум тету. *** Къэзылъэтыхьхэм я нэм Щэхуу зыщеукъуэдий, Си щIасэм и гум иохьэ, И хадэми хохьэ. *** Си щIасэм И метафизикэм Сыкъеджэну зэрыщIэздзэу, Нэщхъей сохъу. МафIэ мыужьых Гугъэр кIуэдрэ, Псори Iэпхъуэмэ, Жьыри къепщэрэ, Тхыдэм и тхьэмпэ гъуэжьхэри ихьмэ, Уи нэхэм сыт щIэплъагъуэжын - ГукъэкIыж фIэкIа. Си жэщыр зыгъэнэху Уэздыгъэу ущытащ. *** Тхыдэм и сахуэм, гуауэр къызыдэплъ щхьэгъубжэм адэкIэ щыIэр хэхэс гъащIэщ. Си гур, сэ зыхаIуа мыIэрысэу, мэзым и гум илъа бампIэгъуэу сыныпхуэкIуащ, Мейкъуапэ. Блыным сеIулIауэ, псым сыпрыкIри, гурылъ минхэр сиIэу, мафIэ мыужьыхри сIыгъыу, сыныпхуэкIуащ, Мейкъуапэ. Уэгум иныжь сыщыхъуауэ, таурыхъыжьхэми сахэту, Дыгъэм и сыринэри жьууэ, си нэхэм щыжейуэ щыта дыгъэри къафэу, сыныпхуэкIуащ, Мейкъуапэ. *** Узигугъэт, СыуиусакIуэт. Зумыгъэхъейуэ, Гъуджэм ущIытенар сыт? Жэщи махуи Тхьэ солъэIу, Пшэр къытехьэу, ЯтIэ унэхэр зыхьыну уэшхыр Къытхуешхыну. *** Си лъэм сызыдихьщ. Сызытес Алъпым зыкъезмыгъэхуэхыну зызоIыгъ, Зэман зэхэтхъуам си щхьэр хэсхыну соIэ. Си гум щызохъумэ уи нэхэм я сурэтыр. Мэзым сыщогуо: Мейкъуапэ! Жьым сызыхех, джэрпэджэжым, сэшхуэу къегъэзэжри, си гущхьэм зыщыхесэ. *** Си гум мы цIыкIу, вагъуэ Ущохъухь. Сыбогъэуназэри, Къалэ бгынэжам, Къыщызожыхь. Азэн джапIэм къиIукI макъыу, СокIий: Дэнэ ущыIэ, Си мы цIыкIу-Мейкъуапэ? Си уафэм ущискъухьри, Сыгъыу сытIысыжащ. Насып къэкIуэну къысщыхъуар, Псылъэ абджым И пщэ псыгъуэм къытенащ - Итхьэлащ. Махуэхэм Я яжьэ самэхэм я щIагъым укъыщIэпщу, Нэпс гуэрэнхэр Уи нэхэм щIэплъэщIыкIыу, КIыфIыгъэм и гум МафIэ ипщIэну ухэтащ. *** Сыппэгъунэгъут, Псыр къакIуэри, ПэIэщIэ дызыхуищIащ. *** Хы фIыцIэ лъащIэм Адыгэ бзу щопсэу, Абдж унэ щIэсу, Бжэр Iузыхыну, Лъэхъэнэхэм пэплъэу. *** И нитIым Iулъ Гуэдз набдзэм сеIусэурэ, Сигуми къыщIитхъыу, ФIылъагъуныгъэр делагъэщ, ЖесIащ. *** Бзури пщIыхьри мэIэпхъуэ, Мейкъуапэ къытхуонэж: Щхьэгъубжэм диплъыкIмэ, жэщ сахуэм къуэту, нып къэушахэр иIыгъыу къытхуокIуэ. Дыгъэр тпэгъунэгъу къохъури, Iуащхьэмахуэ и нэбжьыц дыжьыныфэм "Мейкъуапэ" хедыкI. *** Зыщыслъагъужащ, Псалъэр къэзылъытэ, Лъэтэныр зи щIасэ бзууэ ЖесIащ: Мейкъуапэ, Уэращ сызэпщIыхьыр, Си дунейр. *** Псыжь и усакIуэхэр ипхъащ, Жьым хэкIуэдахэщ, Гъуэгум щыгъуэщахэщ. Жэщи махуи Сыт щIэгъыр Мэз бзур, БлэкIар лIакъэ?! Дыгъэм и щхьэц ухуэнар Уи фIылъагъуныгъэм сригъэшми, Си псэхупIэр уэращ. *** Сщыгъым кIуэцIылъщ Жэщри Си уэгунэбзури. *** ЩтапIэ си псэуалъэщ, Си гум илъ мыIэрысэр… *** Си IитIыр Си гум телъу сыкъоджэ, Абджыпсым тетха тхыдэм. *** СызокIуэ, Жыгри къыздокIуэ. ДыздэкIуэм, Мэз жьауэ, Бзу цIыкIу дощIыр. *** Гъуджэ пшагъуэм Абгъуэ пхутызощIыхь, Iущхьэм къыхэщIыкIа ДэплъыпIэ иIэу. *** МыIэрысэм иущэхур Сэри соущэху, Си закъуэ сшхыжыну. *** Си фIылъагъуныгъэм и сыринэм, Ажалыншэ ежьу щегъэIу ЕфапIэм, Зэман блэкIам. *** Си гукъеуэм Джанэ хызодыкI, Удз гъэгъаи тызодэж. *** Дунеижьым щызэхаута ятIэр Зэхэзымыутэн щхьэкIэ, Уи нитIым сисщ, СыкъимыкIыу. *** Си тхьэмбылыр Тутын Iугъуэм и уэнжакъщ, Си гупсысэр Зы цIыхубзым и гъуэгуанэщ, Удзым хуэдэу гъагъэу. *** Си гъащIэр, ПшахъуэщIым и къежьапIэм ЩызгъэкIуащ. *** Дыгъэм и щхьэц пхыр сIыгъыу, Псынэ щэхум сыIухьащ. *** СыгупцIанэу ИкIи сыджалъэу Срожэ гъуэгум, Псори къызытещ Гъуджэм сытехьэну. *** Уи фIылъагъуныгъэм и тхалъэм сихьэу, Уи гум и бжэри зэрыIупхыу, Щымыныгъэмрэ ныбжьымрэ я зэхуакур, Бзууэ къызолъэтыхь. *** Мы жыгым сызэхех ИкIи селъагъу. Дызэрыт лъэхъэнэм И гугъу зэрыхуэсщIу, Сегъей. *** Щымыныгъэр псыхъуэщ, Ар хым хуэпабгъэщ, Щиху гукъеуэр здехь, ЗэгуэкIуахэм я щэIури. *** Хадэм къызитащ, Уи нитI-Iущхьэр, тыгъэу. И бгыр зэригъазэу, Уисхъумащ си гум. УIэгъэм и гъуджэр Гукъеуэмрэ Жыгым и щымыныгъэмрэ Я зэхуакум, Уэшх щопыхьэ. *** Псымрэ Щихум и гъуджэмрэ Я зэхуакум Гугъэ щопщIыпщI, Щхьэгъубжэхэм Ныбжь щызоуалэ. *** ЖысIат, Уи нэхэм я щихухэм СыщызекIуэну. ЖысIат, Уи IупитIым я вагъуэхэм ЗыхэзгъэпщкIуэну. *** Даущыр пшэ зэрыхъур, Усэр пашэ зэрыхъур Дауэ?- ЖыпIэри укъызэупщIащ. Сэри сыпхуэдэщ, Къэхъугъэм и щэхур СщIэркъым. *** Уи махуэхэр Пшыналъэм и лъахэ, Пхъэ сахуэщ. Уи тепIэныр мэкъущ, Адэжьхэм я мафIэр ИрищIэбгъанэу. *** Пабгъэныгъэм и бгъуэнщIагъым ДыкъикIри, ПшахъуэщIым дытехьащ, Нэху къэдубыдыну. НэкъыфIэщIыр УIэгъэм и гъуджэм тетхуну ДутхыпщIащ. *** Уэ хуэдэу, Хэт сыдихьэхыфын. Си гукъеуэр, Си мыгъуагъэм и хьэдэр, Хэт сигъэхьын. Вагъуэм ещхьу зиухъурейуэ, Псыми зыхидзэжу, Хэт сищIу, ИтIанэ сыщыгъупщэн?! *** ЗэрымыщIэкIэ къэхъу зэхэлъэхъахэм Си деж укъахьэсати, Зджыну сытIысащ СIэщIэлъ Бжьыхь зэшыхьэкIахэр. *** ЗыхужысIэжащ: Пшахъуэм хэлъ Накъыгъэр къэзгъуэтынщ, Нэху дэдзыпIэ сынэсынщ, Зысхъуэжынщи, Удыр зыубыда Хъы сыхъунщ. Адыгэ цIыхубз Сипхъу Ларисэ Мейкъуапэ къысхуриша гупсысэхэр Псыжь щес Iущхьэу, Си гур щытарэт, ФатIимэт. Мазэу сыщытамэ, Пщыхьэщхьэ къэс сынэкIуэнти, Уи нитIым садэуэршэрынт. Сыщытамэ бзууэ, Мейкъуапэ и уафэм Мазэр къыщыслъыхъуэнт. Жьыуэ сыщытамэ, Сыкъепщэнт, Тхыдэри, жыгри исчынти, ИтIанэ зызгъэпсэхунт. Пшынэбзэу сыщытамэ, Уи нитIым я дахагъыр Уэрэду стхынт. Уэшхыу сыщытамэ, ЦIыхури, удзри езгъэфэнт. УафэхъуэпскIыу сыщытамэ, Зы хъуаскIэгъуэм Дунейр уи Iэгум ису Уэзгъэлъагъунт. Сосрыкъуэу сыщытамэ, Уи нэхэр Iэлми, удми щысхъумэнт. Зы увыIэпIэ, Зы кхъуафэжьей, Сысейуэ псы IуфитI сиIамэ, Адыгэ цIыхубз, Уи пащхьэ сыкъихутэнт. АдыгэлI гъуэщам и уэрэд Гъуджэм къищ Си нэкIум хуэдэу Успэжыжьэщ, си псэ! ФIылъагъуныгъэу пхузиIэр ПщIыхь зэмыфэгъущ, Таурыхъщ, НэкъыфIэщIым и джэгуалъэщ. Уи нэхэм, Бжьэдыгъухьэблэ, СаIэщIэкIауэ сожэ, Тхыдэм и сабэм сыхэту. Уэсым хуэдэу Къабзэ си гум Мэзым и щэхур илъщ. Уи цIэр зэрыжысIэу, СокIэзыз. Си лъэм зыхитIэну, Зыхисэну зещI. Ди зэхуакум дэт хыр кууми, Ди гур кIуэдкъым. Сэращ дэни щыIэр, Дэтыр Дунеижьым и уэрамхэм. Дэнэ щыIэ увыIэпIэр? Си теплъи, Си пэжи сэхащ. Сыцыджанщ: ГуфIэ нэпс хызосэ, Фащэ псори щызотIагъэ, Ауэ зыкъэзгъэшкъым. СогуфIэ, сыкъофэ, Уэрэди жызоIэ ИкIи сызэропщхьэж. Жэщыр махуэм, Махуэр жэщым пызощIэф, Бзэуэ щыIэм сропсэлъэф. Си бзэмкIэ Уэрэд жысIэну зэрыщIэздзэу, Си бзэгум зрелъэфыхь. Пэжыр дыджщ, Гум сэпэу кIуэцIохьэри, КIуэцIыр узу зреIуэнтIыхь. Уэри, си псэ! СызылъэмыIэс вагъуэщ, УпщIыхьщ пшагъуэм хэту, Ужыжьэщ, угъунэгъущ. Мейкъуапэ щхьэкIэ мазищ Си лъым Мазэ къыпоткIу, Мазэ къыхокI. Уи нэхэм еупсея пкIэлъеймрэ Си макъымрэ Епха хъринэм ЗыщыщIеупскIэ Мазэм. Си псэр щыхэкIым къыщхьэщыта- ЩыхыхьэжкIи къысщхьэщыт Зэман Iейм дызэхуэзэри, Дыгъащ. Зэманыр Iейуэ дыщызбгъэдэкIыжым, Ди жагъуэ хъуащ. Мейкъуапэ, Мейкъуапэ! Уэращ Хуарэ сызытесар, Фарз, Псыжь зэпрызышар. Уэращ гуауэ зэхэзджыхьар, Си щихуу, Жейм емызэгъар Сабийуэ, УкъыхэтэджыкIыжынущ яжьэм. Адэжынэ лъэтэжам КъызжиIащ: "МыбыкIэщ здэкIуахэр". Тэтэрыдзэм зыщиукIыжащ, Къыздихьа щIыналъэм. КъащIэнар: Сабэ IэмыщIэ, Iугъуэ, Лъы ткIуэпс гъуа, ГуIэ тхылъ. Мейкъуапэ гукъеуэм тетщ -Гукъеуэм иIэщ лъагапIэ- Сыкъоплъыхри, СыноупщI: Уи быныр щыпхъума Жьапщэм, Шэм, Сыхьэт мыгъуэм? Мейкъуапэ Тхылъ псоми итщ. Гурым макъыр КъызыдэIукI щхьэгъубжэр, Гукъеуэм и бжэри зэхуэщIащ. Уэращ сэзыгъэщIар Удзыр, жьауэр, псыр Гукъыдэжым къызэрилъхуар. Гугъэншагъэм, Лъыри псыуэ щIежэхар. Мейкъуапэ КIыфI зэрыхъуу мэуэршэр, Блыну щытми, Дыхьэшх, сабий, Псыежэх макъыр щхьэдоIукI. Дунейм и куэбжэр СылIащ.. Мэз нэщхъеирилэм хэт Жыг цIыкIуу сылIащ. Уи нитIри, куэбжи Къэслъыхъуащ, Уафэмрэ си гумрэ епха Псыни къэслъыхъуащ. Сыщыгъуэщащ Мейкъуапэ и уэрамхэм, КIыфIми сигъуэщыхьащ. Нэхущ вагъуэр ЩIэзгъэпщкIуащ джанэ щIагъым. Сыщылъыхъуащ Хы щIагъым. Акъужьми, щихуми, Къалэжьми сайупщIати, Къэмыхъур къыспэIужащ. ГъащIэр арати, Гъуджэм ситIысхьэжащ. ЗгъэкIуэдащ нэху налъэ Жэщым и даущми, Лъэхъэнэхэр щискъухьащ. СыкIуэ-сыкъэкIуэжу, Уи нитIым я зэхуакум Сыкъыдэнащ. Сроджэгу ныбжьым, Тхъурымбэм. Гъуэгуанэ кIэншэм сеупщIати, "ЗырикI"-къызжиIащ. Къызогъэзэж, Си кхъэм и бжэ IункIыбзэр сIэщIэлъу, Бжэхэри зэхузощIыж. Мы жэщыр си Iум тенащ. Уи нитIыр, уафэ нэщхъейр Сабий зытеса чышыр ЛIым къыхуэнащ. ЯукIам и лъым И макъыр лъагэщ, Зигъэпсэхукъым, Зыуигъэпсэхукъым. ЯукIам и лъыр МэкIий, мэгуо. Ныбгъуэр, лъатэри, Уэгум ихьэжащ. Нэщхъеягъуэр Шэрхъ кIыргъым къехь, ИпщэмкIэ къоIукI, ИпщэмкIэ. Уэгу нэщхъейм ит уи нэхэр Бзу бынщ, Гъэхэр я жьауэщ, Хы Iуфэр я щIасэщ, Хэгъуэгухэр я бысымщ, Къаплъыхь я лъапсэщ; Махуэ мыгъэнщ, Жэщыр я махуэщIщ. Уафэри, жьы къепщэри, Тафэри, уэшхри- Псори я дунейщ. -КъызэбнэкIыу дэнэ укIуэн? -Сыт хуэдэ щIыпIэм укъидэн? Куэбжэшхуэ зэIужри, И лъхуалъэм: ТхьэмыщкIагъэ, Хэхэс гъащIэ, Псэгъэн къалъхуащ. Нэхущым Нэщхъеягъуэ къыздишащ. МакIуэ чэруаныр Жьым хэту, Нэпсыр уэшхыу къежэхыу. И цIыкIур IэплIэрысщ, ЩIыр мыхъейщ, нэщхъейщ. Iуащхьи, вагъуи, Уафи магъ. Ныбгъуэ мэлъатэ, къелъэтыхь. Жыг нэбжьыцхэм ГуIэ нэпсыр посысыхь. Жэщым и бзэр иубыдащ, КъыкIэлъыкIуэну махуэм игъэщтащ. Анэ нэпсыр Псыежэхщ, ХуэфIу уэрамхэм Ар щожэх. Хым и жьабгъуэр иущIащ, Хьэщхьэвылъэу и дзэр лъащ. Уи деж гъэзэжыныр, Лъапсэ, Къэмыхъужынщ. Къузгъун гъащIэм урихащ- Итыр иричри, щыхисащ: Ажал, фоч, мафIэ. Гупым и щIыбагъым ТэтэрыIэ къыдэIэбыкIри, Хьэсэм, мывэм Гуауэ щигъэкIащ. Лъэхъэнэ псоми щыIэ бзухэм, Щхьэпылъэ кIапсэ хуфIищIащ. Сыт жысIэнур? Лъахэм ипхъу, Уи нэхэр уафэм къоплъых: Къуаргъым ешх. Щылъхэм я псэр зэпеплъыхь. ЦIыхум и емыкIур КъыщIэщащ. Уафэм ныбгъуэ къыщелъэтыхь. Нобэм пщэдей Къыпимыщащэрэт, Псыдзэм пщылIхэр ихьарэт. Къуаргъыр уафэм къоплъых, Хьэдэ щылъыр зэпеплъыхь. Дамэ зытетым къелъэтыхь, ЛъакъуиткIэ зекIуэм къепщыпщыхь. Къаплъэм и нэм гуIэ щIэтщ, Нэхущ Iущхьэм щIыр егъей. Нобэм адэкIэ ЦIыху мыжей. Нобэм адэкIэ Нысашэр лейщ. Сыт жысIэн? МафIэм тафэр ишхри, Бгым дэкIащ. Къэнар щымщ, Къелам и щхьэр къыфIэхуащ. Пщащэр щIалэм егъэукIытэ, ЩIалэр пщащэм егъэукIытэ, УкIытэр тIуми хаутащ. Хэт ищIэрэ, Къешхыну уэшхым Зыгуэр хуэтхьэщIынщ. МакIуэ, Чэруаныр макIуэ, мэпщ. МакIуэ, макIуэ. Бгыи тафи зэпеупщI. Жэщым жьэделъафэ, Махуэм къыжьэдедзыж. Хы Iуфэ пшахъуэр къыпоплъэ, И гущIэгъур Пащтыхь гущIэгъум емылъытащ. ЛIыжь, фызыжьыр ЩIым и щхьэфэм тебэгащ. Бэга Iуащхьэм Iущхьэ къытекIащ. Ар ин хъунущ, Къэзымыгъэхъум къыфIэхъунущ, Дыгъэу уафэм щылыдынущ, Мази хъунущ, А махуэшхуэр зэ къэсынущ.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "kat-feysal.txt" }
КАВКАЗ ГЪЭР ЗэзыдзэкIар Ацкъан Русланщ ЯПЭ IЫХЬЭ Бгы лъапэм жылэ щызэхэсщ, ЩIэтIысыкIауэ гукъэкIыжым. Шыхулъагъуэу вагъуэхэр мэшэс, КъахэкIуэсыкIым зиукIыжу. Щхьэщыгум кIыхьу зыщеIыгъ Уэнжакъ нэщхъейхэм къариху Iугъуэм, ИтIанэ уафэм хошыпсыхь Гум къыщIитхъ псори зэрыщIыгъуу. Сабийхэм пщIыхьым къыщахухь ГугъапIэ нэхухэм я псэупIэр. Шэрджэсхэм бжьэпэм щадз ныбжь кIыхь, ЩIыгу техъукIар я уэршэрыпIэу. Зэм шы телъыджэм ящI и гугъу, Зэм я ауанщ урыс сэлэтыр. Мы дунеижьым зеудыгъу, Ирашэжьам лIыхъужь уэрэдыр. Шэрджэсхэм Iэджэ ягу пымыкI, АрщхьэкIэ пожьэ зэса гъащIэм. Нэху къатемыщхьэу дошэсыкI, ДекIуэкIыу бгыхэм я нэгу пхъашэм. II Бзылъхугъэ цIыкIухэр дожей Iуащхьэм, Шу къемыплъэкIхэм я Iэр хуащIу. Гъуэгущхьэ сабэр мэтIысыжри, Гъуэгу дыжьыныфэр къыпхопсыжыр, НэгъуэщI шууейхэм къахуэлыду, Гум щыщIэр зыуи къимылъытэу. ГъуэгунапщIэ удзыр Iурехыж, Къытрихьа сабэм игъэщхъауэ. Тэрчыжь мэшхыдэ щIэгъэщхъуауэ, АрщхьэкIэ зым зэхимыхыж Абы гукъанэу кърихьэкIыр. И напэр псым кърихулэкIми, Мыхъей нэпкъ задэм и зы налъэ. Ухуейм зэгуэч, ухуейм къэкъуалъэ. БампIэгъуэу щымт мы дунеижьыр, Къэмыкъугъатэм хьэIуцыдз Е щхьэрыутIыпщу шы зырыз Зэпрымыжтэм губгъуэм, щыщу. III ЗэщIэблэрт удзыр алэрыбгъуу, Бгы нэкIуи тафи иуфэбгъуу. Къуршыпсым мывэхэр итхьэщIт, Толъкъун-IэгъуапэмкIэ илъэщIу. Къабзагъэ нэхумкIэ зигъэнщIт, Мыух гуфIэгъуэр псэм къигъэщIу. Бзылъхугъэ цIыкIухэр бгым къожэх, Псыр зэрыджэгум ягу хигъахъуэу. Псы къабзэр Iэгум кърагъахъуэ, Хьэрэмыгъэншэу мэдыхьэшх, Iэлъынхэр псым щIагъэтIысыкIыу, Къыхапхъуэтыжрэ – щыгуфIыкIыу, Ещхь хъуауэ фIыгъуэ зэуэлIам, Зи щауэм тыгъэ зыхуищIам. Яхэтт Iэлъыныр зыутIыпщи, Насып къихьыну гугъэ ищIу. Бзылъхугъэ цIыкIухэр хэплъэрт псым, Псы щIагъым щещIэу я сурэтыр. Абыхэм ящIэт псэм къыхуэтыр – Къыпэплъэрат имыщIэр зым. Къыхадзэрт зэм уэрэд гугъафIэ, Я макъым ныджэр дэуфафэу. IV Иужьрей бзийр ешэжыр дыгъэм, Къуршыщхьэ мылым тецIэнтхъукIыу. Щытщ Iуащхьэмахуэ, хэлыдыкIыу, Мы дунеижьым и дамыгъэу. Ялъэхъа шыхэр зэм мэщыщ, Ягу къыщыушыр ямыбзыщI. Къыдыхьэж Iэщхэр зэщIобууэ, Iэхъуэм и макъыр щIагъэмбрыуэу. Зы хъушэм итщ адрейр и ужь, Яуфэбгъури – щIыр умылъагъуж. Сыт хъушэм щIыгъуу кIуэ зу макъыр? Ар лъэхъу зу макъым сыту ещхь. Илъагъум уи нэм уигу хегъэщI: Ялъэф гъэр-Iэхъуэхэм я лъакъуэр, ДэуфIыцIу сабэм хэткIуэ лъыр. Къощ нэгум зэрыузыр лыр, Псэр зэрыузыр нэхъ Iеижу, Къозауэ я псэм гукъэкIыжыр, Гугъущ зэрамыIэри къэкIуэн. А псоми гукъыдэж текIуэн. Зы пщIыхь гугъэншэу, зэшыгъуащэу ИокIуэкIыр Iэхъуэхэм я гъащIэр. Уэрэд гуузырщ, нэпс гъэпщкIуарщ Зыхалъхьэр я гум къыщеблар. КъыкIэлъыкIуэнущ
{ "source": "adygabza.ru", "id": "kavkaz.txt" }
Кэусэрий Мухьэмэд Захьид Илъэс 140 и пэкIэ, жэпуэгъуэм и 14-м дунейм къытехьауэ щытащ Урыс-Кавказ зауэм и Iэужьу хэкур зыбгына шапсыгъхэм къахэкIа дин щIэныгъэлI цIэрыIуэ Кэусэрий Мухьэмэд Захьид. Дэ дызэрыщыгъуазэр мащIэми, ар дуней псом къыщацIыхум къыщымынэу, ислъам диныр хъумэнымкIэ, абы щымыщ къыхэмыгъэхьэнымкIэ лIыгъэ къызэрымыкIуэ зезыхьа дин щIэныгъэлIышхуэщ. Фи пащхьэ итлъхьэ тхыгъэр имам Кэусэрий Кавказыр и хэкужьу зэрыщытым гушхуэныгъэ лей къезыт, абы и тхылъхэм къыщIэтэджыкIа дагъыстэн щIэныгъэлI Ашхьарий Абу Муса и лэжьыгъэм щыщ пычыгъуэщ. ЩIэныгъэ зыбгъэдэлъу мы Iуммэтым хэтахэр пэжыр наIуэ къащIыным, абы тегъэщIапIэ къыхуэгъуэтыным я зэманымрэ я къарумрэ трагъэкIуадэурэ лIэщIыгъуэхэм къыпхыкIащ, апщIондэхуи бэIутIэIу куэд яшэчащ: тепщэхэм хагъэзыхьу, хуитыныгъэр паубыду, я хэкур ябгынэн хуэдизкIэ къэрал Iуэху ящIрэ я щхьэр щIрагъэхьэу. Я Iуэху еплъыкIэр къагъэнаIуэу къедауэхэм щепсалъэкIэ, ди Iимамхэм Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэр, къэIуэтэкIэ къызэрымыкIуэхэр къагъэщхьэпэт. Хэт бзэ шэрыуэ бгъэдэлът, хэт щабэу трилъащIэт, хэти бгъэдэхьэкIэ щхьэхуэ зиIэ дин къудамэхэр щIызэдауэр фIэщыгъэхэр зэрызэмыщхь къудейм къыхэкIыу жаIэурэ, термин зэтемыхуэхэр къабыл ящIт. Iуэху бгъэдэхьэкIэкIэ апхуэдизу зэрызэщхьэщыкIым хуэдэу, абыхэм акъылышхуэкIэ къахэщхьэхукIхэр яхэтт: захуагъэр сэтей щащIым деж, лъэныкъуитIым я зым худамычыхыу, «мащIэ и куэдакIэ» мыбэлэрыгъхэу. Апхуэдэ щIэныгъэлIт, шэч хэмылъу, Iуммэтым и Iимамышхуэхэм пцIы щытралъхьэм и псалъэр хуабжьу зыгъэIуа, муслъымэнхэм лъапIэу ялъытэ Iуэху еплъыкIэу Алыхь талэр зыми хуэмыгъэдэныр къихъумэн папщIэ, пщIэнтIэпсрэ шэкъэрэ зыгъэжа Кэусэрий Мухьэммэд Захьид. А Iимам махуэр I878 гъэм жэпуэгъуэм и I4-м Тырку къэралым и къуэхьэпэ-ищхъэрэм хуэзэ Дюзджэ къалэм пэгъунэгъу къуажэм къыщалъхуащ. Кэусэрий и къуэпсыр адыгэ мухьэжырхэм я деж йокIуэлIэж, хэкум икIа абы и адэшхуэр шапсыгъхэм ящыщт. Истамбыл шэрихьэт щIэныгъэ зэригъэгъуэтыну кIуэн ипэ, иджыри сабийуэ, ар и адэм иригъэджащ. Адэм теухуауэ тщIэр ар Кэусэрий Алий и къуэ Хьэсэну зэрыщытамрэ хьэдисхэм хуэIэзэ Щамил Iимамым и гъэсэным зэрыригъэджамрэщ. И къуэм и гур щIэныгъэм кIэригъэпщIэну илъэкI къигъэнакъым адэм. Зэман дэкIыу унагъуэр Истамбыл Iэпхъуэжа нэужь, Мухьэммэд щIалэщIэм а къалэм щыщ щIэныгъэлIхэм я деж еджэн щыщIедзэ. I907 гъэм езыр егъэджэныгъэм хуит хуащIа нэужь, щIалэр Фатихь мэжджытым хэт мыдрисэм егъэджакIуэу ягъакIуэ – арат Истамбыл дин щIэныгъэкIэ нэхъ лъагэу дэт еджапIэр. Хуэмурэ Кэусэрий и гъэсэнхэр егъуэтыж. Абы щригъэджащ Истамбыл университетми, Уэсмэн сэрейм хэхьэ «Дарул хъилафэ» еджапIэми. А зэманым абы и ныбжьыр зэрыхъур илъэс тIощIрэ ирэт. ЕгъэджакIуэ IэнатIэм пэрыту щIалэм Уэсмэн тепщэгъуэм дин щIэныгъэ IуэхухэмкIэ и унафэщIым и къуэдзэ IэнатIэр къыхуагъэфэщат. Абы текIын гукъыдэжымрэ къэралым щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэмрэщ Кэусэрий Мысырым Iэпхъуэныр къызыхэкIар. А зэманым къежьа зэхъуэкIыныгъэхэм диныр ирагъэкIуэтэкIыу цIыхубэ гъащIэм и унэтIыныгъэ псори сыт и лъэныкъуэкIи зэманым драгъэкIуныр я мурадт. А лъэхъэнэращ утыку къыщихьар «Зэкъуэтыныгъэрэ ефIэкIуэныгъэрэ» партым и лIыкIуэ «тырку щIалэхэр». Абыхэм я мурадт тепщэгъуэр Абдул Хьэмид ЕтIуанэм къыIэщIахыу къэралым конституцэ хабзэ щагъэувыныр. ГурыIуэгъуэт Кэусэрий и IэнатIэм къыIунэныр зэрыдзыхьщIыгъуэджэ дыдэр, уеблэмэ апхуэдэ амал зэрыщымыIэххэр. ЩIэныгъэлIым и ныбжьэгъуу икIи и акъылэгъуу щыта Абу Зэхра Мухьэмэд зэрыжиIэмкIэ: «Кэусэрий хэкIыпIищым хэдэну къыпэщылът: е, зэрыхэкIуэдэнур ищIэу, тырку революцэм и уэчылхэм наIуэу япэщIэувэн, абы кърикIуэу яукIын е лъэхъуэщым ирадзэн; е фэ зытегъэуэн гъуэгум техьэу, ящIэр ядиIыгъыу сэрейм игъэфIа щIэныгъэлIхэм я фащэр щитIэгъэн; е «Алыхьым и щIыр хуиткъэ, фыщызекIуэ абы!» КъурIэн аятым ипкъ иткIэ Iэпхъуэн. Абы къыхихынкIи хъунури гурыIуэгъуэт». Абдеж щегъэжьауэ Кэусэрий гъуэгуанэ тохьэ. 1922 гъэм (Абдул Хьэмид ЕтIуанэр щагъэкIуэда илъэсым) кхъухьым ису ар Александрие къалэм макIуэ. Абы куэдрэ щымыпсэууэ, адэкIэ Дамаскрэ Каиррэ я зэхуакум илъэс зыбжанэкIэ дэтщ, иужькIэ Каир дотIысхьэпэри, къэралыгъуэм и дэфтэр хъумапIэ нэхъ ин дыдэм щIэлъ Iэрытххэм йолэжь. Кэусэрий ислъам щIэныгъэм и щIэиныр куууэ иджат. Ар арэзы хъутэкъым шэрихьэтым и къудамэ щхьэхуэхэм щыгъуазэ зищIкIэ, зи Iуэху зрихуэ щIэныгъэ Iыхьэр зэрыщыту иджти, иужькIэ къудамэ щхьэхуэхэм щылажьэ IэщIагъэлIхэр абы ечэнджэщыжу плъагъут. Шэрихьэт щIэныгъэхэм я доктор, Мансурэ къалэм дэт Iэл-Iэзхъэр университетым и филолог факультетым и декан Iэл Бэйуми Мухьэммэд Рэджэб гурыIуэгъуэу топсэлъыхьыж абы: «А зэманым Кэусэрий-Iустазым муслъымэн щIэныгъэм и щIэину ялъытэ тхылъхэм куу дыдэу щыгъуазэ зэрызищIыр долъагъу. Апхуэдэ еджэкIэм ар дзыхь хуэпщIыну зыхуэфащэ цIыху ещI, сыту жыпIэмэ, Кэусэрий Iэпэдэгъэлэлу зыри иджтэкъым, куууэ, ифIи и дагъуи илъагъуут зэрыбгъэдэхьэр. Гу лъыботэ мэсхьэб зэмылIэужьыгъуэхэм хэпщIа щIэныгъэлIхэр абы фыкъыхьымкIэ къызэреупщIыр, апщIондэху езыхэм шэч зыхэмылъ фIэщхъуныгъэм къуит гупсэхугъуэр ягъуэтт. Бзэ щIэныгъэлIхэм я нэхъыфIхэм я гугъу пщIымэ, абыхэм я Iуэхури Кэусэрий емычэнджэщу зэфIэкIтэкъым. ЩIэныгъэлI псори, я щIэныгъэр къызыхах къудамамэм емылъытауэ, зэакъылэгъут абы Iимамыгъэр зэрыхуэфащэмкIэ». А псалъэхэм, шэч хэмылъу, щыгъуазэ уащI а цIыхум бгъэдэлъа щIэныгъэм и инагъымрэ езым и лъапIагъымрэ. И зэманым псэуахэм къыхуащIу щыта дзыхьымрэ пщIэмри къыбгурагъаIуэ Кэусэрий и лъагагъымрэ шэрихьэт щIэныгъэм щиIа Iулыджымрэ здынэсу щытар. Зи гугъу тщIа Абу Зэхра Мухьэммэд жеIэ: «ПщIэ зиIэ а Iимамыр ислъамыр пхэнжу къызыгурыIуэ мэсхьэбыщIэм щыщтэкъым, ислъам тхыдэм хэмыта щIэ гуэрым къыхуезыджэхэми ещхьтэкъым. Ар бэм зыужьыныгъэм и дамыгъэу илъытэ цIыхутэкъым, уеблэмэ апхуэдэхэм я бийт. Пэжыр аращи, Кэусэри зыкIэлъыгъуазэIатэкъым, езыр гъуазэ ирикъут. Къыхэзгъэщыну сыхуейщ ар, шэч хэмылъу, къэгъэщIэрэщIэжакIуэу (муджэдид) - «къэгъэщIэрэщIэжын» псалъэм и мыхьэнэ пэжым (тэдждид) техуэу - зэрыщытар. Сыту жыпIэмэ, къэщIэрэщIэжыныгъэ пэжыр Ислъамыр зытета лъагагъым тегъэувэжауэ ар адрейхэм зэрефIэкI увыпIэр етыжынращ: и къежьапIэм иIа къабзагъэр, къарур, къызэрымыкIуагъыр къегъэщтэжыныр, и лъабжьэхэр быдэ щIыжыныр. КъэщIэрэщIэжыныгъэ пэжыр бегъымбар лъагъуэм псэ хэлъхьэжынырщ, диным хэмылъу къыхыхьар гъэкIуэдыжынырщ, цIыхухэм ислъамым и лъабжьэмрэ и тегъэщIапIэхэмрэ егъэцIыхунырщ. Аращ пэжымрэ захуагъымрэ зи тегъэщIапIэ къэщIэрэщIэжыныгъэ хъужыр. ИкIи Кэусэрий а гъуэгум техьат: бегъымбар лъагъуэм къэгъэпсэужыныр, тхылъ щIэинхэм щыщу тхыдэ къуэгъэнапIэхэм щыщIэхъумахэр къыщIэгъэщыжынырт абы зи Iуэху зэрихуэр. Ди япэ ита цIыху къабзэхэм я егугъуныгъэр хэлъу, Кэусэрий а Iуэхушхуэм бгъэдэуват суннэр къихъумэу, иджу, зригъэубгъуу». Апхуэдэ дыдэут езыри зэрыщытыр: тегушхуэныгъэ инрэ еплъыкIэ захуэрэ иIэу, цIыху пэжрэ ехьэкI-нехьэкI хэмылъу, зэпIэзэрыту и гум илъыр занщIэу жиIэу. А бгъэдэхьэкIэращ нэхъыфIри зэраныгъэ нэхъ мащIэ къэзышэри. Сыту жыпIэмэ, ди япэ ита цIыху къабзэхэм жаIэу щытащ: IуэхугъуитI щыIэщ Iулыджым ущыфIэлIыкI мыхъуну - хьукмымрэ хьэдисымрэ. Алыхь талэм и диным нэфI-нейкIэ бгъэдэмыхьэныр дэ, суннэ Iыхьлым щыщ щIэныгъэлIхэм, ди Iуэху зэфIэхыкIэщ. Кэусэрий и гугъу пщIымэ, абы ар гъащIэ хабзэу зэрихьэт. Абы и акъылым жанагъыу хэлъамрэ пэжыр зэхэгъэкIыным хуиIа Iэзагъымрэ я щыхьэту и IэдакъэщIэкIхэр къоув. Кэусэри лэжьыгъэ куэд къызэринэкIащ, я нэхъыбэр зытехуар дин къудамэ гъуэщахэм жэуап етынымрэ Абу Хьэнифэ Iимамым и пщIэ ирагъэхуэхар къэIэтыжынымрэщ. Псори зэхэту къыубжмэ, абы и IэдакъэщIэкIхэм я бжыгъэр тIощIрэ пщIым ноблагъэ, тхылъ щхьэхуэхэм ядыщIигъуахэм я гугъу умыщIмэ. ЩIэныгъэ къудамэ куэдым, псалъэм папщIэ, хьэдис щIэныгъэм, абы лъагагъ щиIыгъам куэд щыхьэт тохъуэ. А лъэныкъуэмкIэ абы и егъэджакIуэ икIи и ныбжьэгъу, Уэсмэн тепщэгъуэм и иужьрей ислъам шейх Сабри МустIэфа и псалъэхэр къэпхьыну къозэгъ: «Пэжыр аращи, си ныбжьэгъу шейх Мухьэммэд Захьид – Алыхьым ари адрей дин щIэныгъэлIхэри ислъамым къыхуэщхьэпэн хуэдэу къихъумэ – зыхуэдэ щымыIэу хышхуитIым хуэIэзэт: хьэдисым и хымрэ, фыкъыхь щIэныгъэм и хымрэ. А щIэныгъэхэращ икIи ислъамыр адрей динхэм къахэзыгъэщхьэхукIыр». Кэусэрий хэлъа щэныфIагъыр зыхуэдам щыгъуазэ дещI Деобанд щыщ мухьэддисышхуэ Баннури Мухьэммэд – Юсуф. Iимамыр Баннури йолъэIу псалъэ дахэхэр къыхужиIэурэ имыгъэукIытэну. «Къэзмылэжьауэ къысхуэбгъэфащэ уи псалъэхэр фIыуэ сыкъызэрыплъагъумрэ укъызэрысхуэарэзымрэ я щыхьэтщ», - хуетх абы КэусэриI. НэгъуэщIыпIэ деж щыжеIэ: «СыбгъэукIытащ, зи щIыхьыр ин, сэ сызыпэжыжьэ щэфэтхэм сибгъэувэри, ипэжыпIэкIэ, сэ схузыфIэкIыр мащIэ дыдэщ. Алыхьращ хуитыр ди гуэныхьхэр къытхуигъэгъунуи, и тыгъэхэр тхуигъэбэгъуэнуи». А Iимам махуэр 1952 гъэм шыщхьэуIум и 19-м (1371 гъэм зуль къэхьдэм и 19-м) илъэс блыщIрэ тху ныбжьым иту дунейм ехыжащ, зэрыхуафгъэфащэмкIэ фошыгъу узым къыхигъэзыхьа нэужь. Кэусэри и къарууншэгъуэм и щхьэгъусэмрэ и пхъумрэ сымаджэ хьэлъэу щытахэщ, езыри кIуэ пэтми нэхъ лъэрымыхь хъут. Баннури хуригъэхьа тхыгъэхэм къыхощ абы и нэхэм фIыуэ зэрамылъагъужыр, абы къыхэкIыу лэжьыгъэм зэрыпэрымытыфынур. Iимам щэджащэм къигъэна щIэинри щэджащэщ. Шэч хэмылъу, Iимам Кэусэрий Алыхь талэр лIэщIыгъуэ къэс цIыхухэм зэрахуэупсэ нэфI лейр зылъыса щIэныгъэлIт, апхуэдэу жызыIэхэм дэри драакъылэгъущ. Ашхьарий Абу Исхьакъ
{ "source": "adygabza.ru", "id": "kawsari.txt" }
АНЭМ И ГУР ЗэзыдзэкIар Бемырзэ Мухьэдинщ Къэзакъыр щIоупщIэр: «Оксанэ, си псэгъу, Сыт щыгъуэ щыхъунур уэ фIыуэ сыплъагъу? Си мылъкуми си ахъшэми сыщымысхьын, — «Мыбы сэ сыхуейщ» жыхуэпIар къыпхуэсхьынщ». И щхьэцыр иухуэнурэ пщащэм жеIэж: «Уи мылъкури уи ахъшэри фIыкIэ уиIэж, Ухуеймэ игъащIэкIэ сигу урихьын, Уи анэр быукIыу хуейщ и гур къэпхьын. А гум сэ и сахуэр хуейщ япэу згъэвэн, ИтIанэ абы къыщIэвыкIым сефэн, — Iэгуаплъэ цыджан сэ зи дей сыщыIам Аращ сэ хьэщыкъ сызыщIыну жиIар». Къэзакъыр щэху хъуащ щыщIэдзауэ абдей. Ешхэжкъым, ефэжкъым, мычэму нэщхъейщ. И сэшхуэмкIэ икIэм анэбгъэр зэгуех. ИоIэбэри анэм игу хуабэр кърех. КIуэцIелъхьэри ар напэлъэщI хэдыкIам, Къыхуехьыр и пщащэ и гущIэм пхыкIам. АрщхьэкIэ бжэщхьэIум щоцIантхъуэри ар, IэщIохур Iэ лъэщхэмкIэ гу иIыгъар. ...Анэгур къэскIащ, зэрыхэхуэу сабейм: «УиукIти! Усакъыркъэ тIэкIу, си сабий!»
{ "source": "adygabza.ru", "id": "kedrin.txt" }
Iуэху еплъыкIэ зэтемыхуэхэмрэ бгъэдэхьэкIэщIэхэмрэ Мухьэммэд-Iэмин къызэралъхурэ илъэси I80-щрикъум ирихьэлIэу Мы тхыгъэр зи IэдакъэщIэкI профессор Аулъэ Мэлыч иджыблагъэ Дагъыстэным щыIащ. Ар хэтащ «Кавказ зауэр: Iуэху еплъыкIэ зэтемыхуэхэмрэ бгъэдыхьэкIэщIэхэмрэ» фIэщыгъэм щIэту ирагъэкIуэкIа Международнэ конференцым. Ар иуха нэужь, Аулъэр Щамил и Хэку Гимры, Мухьэммэд-Iэмин къыщалъхуа Гонодэ къуажэм, Дагъыстэным и бгырысхэм ирагъэкIуэкIа щхьэхуитщIыжакIуэ зауэр щиуха Гъуниб щыIащ. А щIыпIэхэр къыщызэхикIухьым Аулъэ Мэлыч яIущIащ Мухьэммэд-Iэмин и Iыхьлыхэу нобэ псэухэм. Гъуниб къуажэм профессор Аулъэм къыщратащ «Щамил илъэс 200 ирикъуащ» цIэуней дыщэ медалымрэ дипломымрэ. «Дэ псори Кавказым дрибынхэщ»,- апхуэдэущ сэ сызэреплъыр лъэпкъхэмрэ бзэхэмрэ щыбжыгъэншэ Кавказым ис лъэпкъхэм яку дэлъыпхъэ зэхущытыкIэм. Дауэ щымытами, ди лъэпкъхэр лIэщIыгъуэкIэрэ псэуащ зым адрейр зэхищIыкIыу, зэпымыууэ зэIущIэу, зэпыщIауэ. Абы щыхьэт тохъуэ хъыбарыжьхэри, тхыдэ тхыгъэхэри, бзэ нэщэнэхэри, лъэпкъхэм я материальнэ, духовнэ щэнхабзэкIэ дызэджэ нэгъуэщI куэди. Кавказ лъэпкъхэр лIэщIыгъуэкIэрэ япыщIауэ къокIуэкI урысхэми икIи ахэр я бийуэ зэи къалъытакъым, уеблэмэ Кавказ зауэм и илъэс гуауэхэм щыгъуи. Куэд щIащ абыхэм къазэрыгурыIуэрэ зауэ хьэзабым хэзымыгъэкI бийр хэтми. Ди лъэпкъым и щэнхабзэ щIэиныр щызджым, гу лъыстащ урысхэм яхуэгъэзауэ ди IуэрыIуатэм губгъэн зэрыхэмытым. «Хэт къуаншэр?» упщIэм уэрэдыжьхэмрэ хъэбархэмрэ занщIэу, щIагъыбзи хэмылъу жэуап ират: Ермолов, Воронцов, Граббе, Евдокимов, Засс… Лъэпкъым генерал-лIыукIхэм я унэцIэхэм щIегъу пащтыхь зэадэ-зэкъуэхэу Николай Езанэмрэ Александр ЕтIуанэмрэ. ЦIыхубэм игу ихуакъым Кавказ зауэм и мурадым теухуауэ Николай I гурыIуэгъуэу жиIар: «Тыркумрэ яхуэдгъэлъагъу щIыпIэхэмрэ гъэIэпхъуэн, абы зыпэщIэзысахэр зэтеукIэн». КъуэкIыпIэ Кавказым зауэ гущIэгъуншэ щекIуэкIт, абы и мафIэр щыужьыхтэкъым а щIыналъэ дахащэм и ищхъэрэ-къухьэпIэ лъэныкъуэ щIыпIэхэми. Къемызэгъыу, е къуаншагъэу къэплъытэ хъуну пIэрэ Адыгэ Хэкум (Черкесием) къыщыщIэдзауэ Дагъыстэным нэсыху щхьэхуитщIыжакIуэ зэщIэхъееныгъэм хэт лъэпкъхэр зэкъуэвэну зэрыхэтар! Шэч хэмылъу, хъунукъым. А гупсысэ дыдэр и лъабжьэ къыщIэкIынщ Шэшэн, Дагъыстэн лъэпкъхэм я къарур зи щхьэхуитыныгъэм щIэбэн адрей лъэпкъхэм я къарум гуигъэувэн папщIэ, Имаматым и тепщэ Щамил абыхэм запищIэну зэрыхущIэкъуам. Щамил щыгъуазэт Адыгэ Хэкум иригъэкIуэкI бэнэныгъэм икIи хущIэкъут ар гъусэ къищIыну. А мурадым хуэунэтIа лъэбакъуэу щытащ I842 гъэм Хьэжы-Ахьмэд Черкесием зэригъэкIуар, ауэ абы и лъэр адыгэхэм я деж щигъэбыдэфакъым. ИлъэситI дэкIри, Дагъыстэным къикIри абы и пIэкIэ Адыгэ Хэкум кIуащ Сулеймэн-ефэндыр, ауэ ари и мурадым лъэIэсыфакъым. ИкIэм, I848 гъэм Дагъыстэным кърагъэкIри Шэрджэсейм къагъэкIуащ Мухьэммэд-Iэмин. Ар Адыгэ Хэкум нэIибу илъэс II-кIэ, Щамил Iимамыр гъэр ящIыху, щыIащ, I859 гъэм и шыщхьэуIум и 25 пщIондэ. Пащтыхьыдзэм Дагъыстэным текIуэныгъэ къыщихьа нэужь, Мухьэммэд-Iэминрэ абазэхэхэм я нэхъыжьхэмрэ унафэ къащтащ зэуэн щагъэтыну. Ахэр урысыдзэ тетыгъуэм екIуалIэхэри Iэщэр зэрагъэтIылъыр хэIущIыIу ящIащ. Адыгэ тхьэмадэхэр и гъусэу Мухьэммэд-Iэмин Урысейм и къалащхьэ Бытырбыху щыIащ, Калугэ къалэм Щамил дежи кIуащ. ИужькIэ Тыркум Iэпхъуэжри къыхуэнэжа и гъащIэр иухыху абы щыпсэуащ. Адыгэ Iимамым и фэеплъу Кавказым икIахэм ар щыщIалъхьа щIыпIэм мэжджыт щаухуащ. А щIыпIэр иужькIэ хъуащ Кавказ Ищхъэрэм иIэпхъукIа лъэпкъхэм, къэрал зэмылэужьыгъуэхэм къикIа муслъымэнхэм я кIуапIэ. Асиялов Мухьэммэд-Iэмин I8I8 гъэм Гонодэ бгырыс къуажэм къыщалъхуащ. Абы щыгъуэм ар къуажэ жэмыхьэтхэм я Андалал зэгухьэныгъэм хэхьэт, нобэ зыхэхьэр Дагъыстэн Республикэм щыщ, Авар щIыналъэм ит Гъуниб районырщ. Абы щыпсэухэм Iэщ ягъэхъу, жызум ягъэкI, цIыху гуапэхэщ, хьэщIэкIэ фIыхэщ; дэтхэнэ зыми я хэкуэгъум гуапэу и гугъу ещI, хэти нэIиб цIэрыIуэм и щIэблэу, е и благъэ гъунэгъуу зыкъелъытэж. Мухьэммэд-Iэмин илъэс куэдкIэ дин щIэныгъэ зригъэгъуэтыным иужь итащ, хьэрыпыбзэми, шэрихьэт хабзэми фIыуэ хищIыкIыу. ЩIалэ дыдэу ар XIX лIэщIыгъуэм и 30 гъэхэм я кум Щамил и унафэм щIэту екIуэкI щхьэхуитщIыжакIуэ зэщIэхъееныгъэм хэхьащ. Илъэс I3 фIэкIа имыныбжьу зэхэуэхэм хэтащ. Адыгэ Хэкум щагъэкIуа I848 гъэм ар илъэс щэщI ирикъуа, зи щIалэ губзыгъэт. НэIибым и къалэныр ауэ сытми трагъэхуатэкъым Мухьэммэд – Iэмин. Еджагъэшхуэу, зауэлI хахуэу, къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэу и цIэ Iуат Щамил и лIыкIуэм. Мухьэммэд-Iэмин илъэс I4-кIэ игъэзэщIащ Кавказым и Ищхъэрэ-КъухьэпIэ лъэныкъуэм щыпсэу адыгэхэм я щхьэхуитщIыжакIуэ зэщIэхъееныгъэм и нэIиб къалэныр. Кавказ Ищхъэрэм дагъыстэнхэми, шэшэнхэми, адыгэхэми, адрей лъэпкъхэми щрагъэкIуэкIа бэнэныгъэм и тхыдэм пэжкIэ дыбгъэдэхьэну дыхуеймэ, а бэнэныгъэм пашэу хэтахэм я IуэхущIафэхэм хуэфащэ пщIэ яхуэщIын хуейщ. Бгырыс лъэпкъхэм XIX лIэщIыгъуэм ирагъэкIуэкIа бэнэныгъэр мытэмэму къыщIрагъэдз дызэрыт зэманым, ар Тыркум, Англием, е нэгъуэщI нэгъуэщI къэралхэм зэщIагъэстауэ жаIэу. Щамил Iимамри адрей бгырыс лъэпкъхэм я пашэхэри Тыркум и агентхэу щыта къудейуэ Багировым иукъуэдия Iуэхур щыуагъэ дыдэу зэрыщытым тхыдэ щIэныгъэр и щыхьэтщ. Мухьэммэд-Iэмин Адыгэ Хэкум щилэжьахэм хуэфащэ пщIэ хуамыщIу, ахэр цIыхубэм и бий Iуэхугъуэхэу, Тыркум и сэбэп зыхэлъу къалъытэу куэд щIауэ къокIуэкI. Апхуэдэ щытыкIэм илъэс пщIы бжыгъэхэм щIигъуауэ итщ Занокъуэ Сэфарбий и тхыдэри. Дызытепсэлъыхь Iуэхугъуэхэм революцэм ипэкIэ нэхъ тэмэму бгъэдэхьэт иджырей тхыдэтххэм я Iуэху еплъыкIэм елъытауэ. Псалъэм папщIэ, абы щыгъуэ ятхахэм къыхощ Мухьэммэд-Iэмин Лабэ къыщыщIэдзауэ Бзыбэ нэсыху ис бгырыс лъэпкъхэр зэкъуигъэувэну къызэрехъулIар. Мухьэммэд-Iэмин гуащIэу зыкъыпэщIасэт адыгэпщхэмрэ уэркъхэмрэ, демократиер и лъабжьэу Щамил и лIыкIуэм иригъэкIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэр ягу иримыхьу. Iуэхур нэхъ гугъуж ищIт адыгэ пщы-уэркъхэр мылъкукIи псалъэкIи зыгъэгушхуэ Тырку къэралыгъуэм и политикэм. «ПщылIыгъэр зыгъэкIуэдыж, лъэпкърэ лIакъуэкIэ зэхэгъэж зымыщI, псори зэхуэзыгъадэ Мухьэммэд-Iэмин адыгэпщхэмрэ уэркъхэмрэ я пщIэр игъэлъахъшэт, ардыдэмкIэ къызэрыгуэкI цIыхухэр и лъэныкъуэ къищIт. Ар и щхьэусыгъуэу джыназхэмрэ уэркъхэмрэ Мухьэммэд-Iэмин бий къыхуалъыхъуэт»,- дыкъыщоджэ Кавказ археографическэ комиссэм и актхэм. Мухьэммэд-Iэмин и фIыщIэщ Щамил Дагъыстэнымрэ Шэшэнымрэ щиухуа Имаматым и щапхъэр зэрыщыт дыдэм хуэдэу Шэрджэсейм щимыгъэуву, и ущиякIуэм игъэунэхуахэр Адыгэ Хэкум нэхъ къызэрыщезэгъым хуэдэу къызэригъэсэбэпар. Ар адыгэ лъэпкъхэр къэралыгъуэу зэгуигъэхьэну хэтащ икIи а мурадым лъэIэсын папщIэ зыхуэфащэ IуэхущIапIэхэри къызэригъэпэщащ. Езым и унафэм щIэт цIыхубэр дэтхэнэми унагъуи I00 къызэщIиубыдэу, хьэблэ-хьэблэу зэпиудри хьэблэ къэс Iэхьитху ирищIыкIыжащ. УнафэщI нэхъыщIэ дыдэхэр щыхахыр къуажэ зэхуэсырт. Дэтхэнэ хьэблэми суд щыхахат ефэндыр и унафэщIу. Ефэндыр зыгъэувыр шэрихьэт узэщIакIуэу щыт Мухьэммэд-Iэминт. Псалъэм къыдэкIуэу жысIэнщи, литературэм къыхэнащ шэрихьэт хабзэр и лъабжьэу Iуэху нэхъ ткIий дыдэхэми унафэ тращIыхьу зэрыщытам и щапхъэхэр. Кавказ археографическэ комиссэм и актхэм мыпхуэдэ псалъэхэм уащрохьэлIэ: «Асиялов Мухьэммэд-Iэмин езым и шэрихьэт судымкIэ гъэщIэгъуэну щабэу зэгуригъэIуэжыфт бий зэхуэхъуа лъэпкъ щхьэхуэхэр». Мухьэммэд-Iэмин къэрал лэжьакIуэуи, дзэпщ акъылыфIэуи, Тыркум, Европэм щыщ къэралхэм я лIыкIуэхэм запызыщIэф дипломат губзыгъэуи щытащ. Щхьэхуэ-щхьэхуэу зэхэт адыгэ лъэпкъхэр зэгуэгъэхьэнымкIэ, ахэр псори къызэщIэзубыдэ унафэм щIэгъэувэнымкIэ иригъэкIуэкIа лэжьыгъэмкIэ ар XIX лIэщIыгъуэм адыгэ къэралыгъуэ ухуэным гъунэгъу дыдэу бгъэдыхьахэм язщ. Мухьэммэд-Iэминщ Адыгэ Хэкум зэпымыууэ яIыгъ дзэ, мылъку, Iэщэ, улахуэкIэ ягъэлажьэ къулыкъущIэ гуп япэу къыщызэзыгъэпэщари, уIэгъэ хъуахэм, хэкIуэдахэм я унагъуэхэм мылъку хухатыкIын хуейуэ утыку къихьэу зыукъуэдияри. Шэрихьэт хабзэкIэ абы зэригъэпэщат цIыхубэр зэпымыуууэ къэзыхъумэн дзэ, зауэлIхэр къыхэхьэ зэпыту. ЦIыхубэм зауэлIхэр зыхэпсэукIын мылъку езыхэм ябгъэдэлъым дин хабзэкIэ хагъэкIт. Шэч хэмылъу, Мухьэммэд-Iэмин иригъэкIуэкIа лэжьыгъэр пыупщIауэ зы лъэныкъуэ закъуэкIэ къэбгъэлъагъуэфынукъым. Ауэ пцIы зыхэмылъыжращи, Щамил Iимам хуэдэу, Мухьэммэд-Iэмин хамэ къэралхэм я агенту щытакъым, Кавказ лъэпкъхэм ирагъэкIуэкI бэнэныгъэм къарурэ зэфIэкIыу иIэр хилъхьащ. Мухьэммэд-Iэмин и махуэр гъэлъапIэн зэрыхуейм хуэдэ дыдэу, шэч хэлъкъым, абы и IуэхущIафэхэм уащыбгъэдэхьэкIэ тхыдэм и хабзэм тетын зэрыхуейм. ЗэфIэгъэувэжын хуейщ Занокъуэ Сэфарбий, Хьэжы-Бэрзэдж сымэ хуэдэхэм я пщIэри. Адыгэхэр щыгъуазэн хуейщ ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и Дагъыстэн щIэныгъэ центрым къищта, Дагъыстэн Республикэм и унафэщIхэмрэ щIэныгъэлI гупышхуэмрэ Iэ зыщIадза тхыгъэм: 1. Гонодэ щыщ Мухьуммэд-Iэмин къызэралъхурэ илъэси I80-рэ щрикъу махуэр къэрал мэхьэнэ ету гъэлъапIэн. 2. Махуэшхуэр зыгъэхьэзырын комитет республикэм къыщызэгъэпэщын. 3. Щамил Iимамым и IуэхущIэгъу цIэрыIуэу щыта Мухьэммэд-Iэмин и махуэшхуэм хуэгъэхьэзырыным икIи егъэкIуэкIыным къэрал управленэм и органхэр, щэнхабзэм, щIэныгъэхэм я IуэхущIапIэхэр, ВУЗ-хэр, творческэ организацэхэр, общественнэ зэщIэхъееныгъэхэмрэ фондхэмрэ къыхэшэн. ИщхьэкIэ зи гугъу тщIа псор къэплъытэмэ, шэч къызытумыхьэжынщ Мухьэммэд-Iэмин къыщалъхуа махуэр Кавказ псом щыгъэлъэпIэн хуей цIыхушхуэу зэрыщытар. Аулъэ Мэлыч, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, Бжьэдыгъухьэблэ (Краснодар), I999 гъэ
{ "source": "adygabza.ru", "id": "kghlg.txt" }
Успенский Эдуард ЗэзыдзэкIар КIыл Айдэмырщ Джэду КъытхуэкIуащ хамэ джэду, ФIей хъужауэ, дамэдуу. Ди щхьэгъубжэ дамэдазэм Къыдэхуащ ар зимыгъазэу. Абы гуапэу дыпежьащ. «ТIэкIу тхущыIэ»- ДелъэIуащ.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "kilaidemir.txt" }
КИНГСТОН УИЛЬЯМ ГЕНРИ ДЖАЙЛС Кингстон Уильям (1814-1880) ныбжьыщIэхэм папщIэ тхылъ нэгузыужьхэр зытхыу щыта инджылыз тхакIуэщ. КъызэрыщIэкIымкIэ, Кингстон 1844 гъэм япэ дыдэу и Iэдакъэ къыщIэкIа «Адыгэхэм я пашэ» («The Circassian chief») романым лъабжьэ хуэхъуа хъыбарыр ди лъэпкъым XIX лIэщIыгъуэм иригъэкIуэкIа бэнэныгъэрщ. ЛIыхъужь нэхъыщхьэу тхыгъэм къыхэщ адыгэпщ Аслъэнджэрий, абы и къуэ Сэлим, ипхъу Айнэ сымэ я хъуреягъкIэ екIуэкI гъащIэр щапхъэу къещтэри, тхакIуэм адыгэ хьэлри, абыхэм къадекIуэкI хабзэхэри, пшыналъэхэри инджылыз тхылъеджэм и нэгу къыщIегъэувэ. ГъэщIэгъуэн дыдэщ Стивенсон Роберт, Киплинг Редъярд, Рид Майн сымэ хуэдэу урысыбзэкIэ зэрадзэкIа Кингстон и романхэм «Адыгэхэм я пашэр» зэрахэмыхуар. НапэкIуэцI щищым нэблагъэ тхыгъэ щIэщыгъуэр, гунэсу си бзэкIэ сыкъеджарэт жыпIэм къыщымынэу, инджылызыбзэр щызэрагъащIэ еджапIэхэм я дерсхэми къыщагъэщхьэпэфынущ. Ди гуапэу инджылыз тхакIуэм и IэдакъэщIэкIым щыщ пычыгъуэ фи пащхьэ идолъхьэ. Ар теухуащ Айнэ, и адэмрэ и дэлъхумрэ къэтыху, пщы уэлий Айтэч Джэрий и къуэрылъху Зарэ и гъусэу я деж зэрыщыIамрэ абы къыщыщыщIамрэ. АДЫГЭХЭМ Я ПАШЭ ЕтIуанэ Iыхьэ Дунейр схъуэжамэ сехъулIат иджы, Насыпым я нэхъ куур си гущIэм изу, Псэр апхуэдизкIэ арэзыщи, нэхъыфIыж Ухыгъэм къыспигъаплъэу си фIэщ хъункъым. ШЕКСПИР, «Отелло». Айнэ гухэщI куум иIыгът, и адэмрэ и дэлъхумрэ зауэ IэнатIэм Iухьэну щежьэм. Абыхэм къащыщIынкIи хъунум щегупсыскIи, фIым зэрыщымыгугъыфым игъэнэщхъейт. Пщащэм куэдыIуэрэ и нэгу щIэкIат адэр, щхьэгъусэр е дэлъхур къыщысыжынум нэхъуеиншэу пэплъэ и лъэпкъэгъу бзылъхугъэхэм, зыщыгугъым и пIэкIэ, фIыуэ ялъагъухэм я Iэпкълъэпкъым къыхэнэжар пхъэмбей лъы защIэм телъу ныбжьэгъухэм къызэрыхуахьыжыр. Апхуэдэ гукъутэ Айнэ зэи зыхищIатэкъым, итIани абыи фIы дыдэу ищIэрт а гузэвэгъуэр езыми къыпагъаплъэу къыщIэкIынкIи зэрыхъунур. ЩIыналъэр зэщIэзыщта зауэ шынагъуэм и Iэуэлъауэхэм и гур икъуз зэпытт. Зарэ илъэкI къигъанэртэкъым и ныбжьэгъур тригъэун, и гукъыдэжыр къыхуиIэту нэщхъеягъуэр щхьэщихын папщIэ. Ауэ абыи фIы дыдэу къыгурыIуэрт ар зыщышынэр, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы илъэгъуат я хэкур зэтезыкъутэ бийм пэщIэту яукIа и адэ хахуэр щIыIэмылу диижауэ мэIум телъу къызэрахьыжар. А зырат зи ныбжь хэкIуэта и адэшхуэм щIэгъэкъуэну къыхуэнэжар. Арат лIыжьыр гугъэ къыхуэмынэжауэ зыхуэщыгъуэр, сыту жыпIэмэ, абы и цIэмрэ и мылъкумрэ езыгъэфIэкIуэн, и сабийр шынагъуэм щызыхъумэн щIэблэ иIэжтэкъым. Зи адэр дунейм ехыжа Зарэ и нэчыхь Iуэхур иджы я лъэпкъым и нэхъыжьым и IэмыщIэ ихуэнущ. Абы къыфIэIуэхунукъым пщащэм и гум къимыщтэ цIыху псэгъу къыхуэхъункIи зэрыхъунур. Аращи, Зарэ къыпэщылъыр шынагъуэ гуэрщ. Лъэпкъыр зауэм Iузышэфын, мамыр гъащIэми унафэ щызезыхьэфын пашэ хахыну загъэхьэзыр. Хъыджэбз тхьэмыщкIэр зыми къыфIэуэхукъым. Апхуэдэт пщащэ лъагъугъуафIэм зэригъэзахуэ гупсысэхэр. Зэныбжьэгъу хъуа хъыджэбзитIым я гукъеуэхэр зэхуаIуэтэху, хуэм-хуэмурэ псэкIэ нэхъ зэпэгъунэгъу хъуахэщ. Зарэ тхьэ иIуэрт и гур зытхьэкъуфын зы щIалэ закъуэ фIэкIа щымыIэу, зэрыхуигъэфащэмкIэ, езыми фIыуэ къилъагъуу. Ауэ абы мылъку бгъэдэлъкъым, пщIэшхуэ зиIэхэми ящыщкъым. Хуэзэну мащIэ дыдэрэ фIэкIа къызэрыхуимыхуам хуэдэу, Зарэ и ныбжьэгъу пщащэм и тхьэкIумэм ириIущащэрт Альп щIалэ щэныфIэр фIыуэ зэрилъагъур. Зи ныбжь хэкIуэта пщы уэлий Айтэч Джэрий, Мухьэммэд лъапIэм и хабзэ укъуэдияр и псэм хыхьэу зэрыфIэкъабылым къыхэкIыу, Айнэ зэресам нэхърэ нэхъ ткIийуэ яхъумэрт хъыджэбзитIыр. Зи ныбжь хэкIуэта Анэ, унэм щекIуэкI псоми кIэлъыплъ бзылъхугъэм, пщащэхэм и нэIэ ятригъэкIыртэкъым. Ар щыпсэуа тырку хьэрэмым елъытауэ, хъыджэбзхэм я лъэпкъ хабзэм ахэр ткIиищэу пIыгъыныр къримыгъэзэгъыу щытми, нанэм и щхьэфэцым зрисэрт Айнэ нэкIуIупхъуэ пIащIэ Iумылъу цIыхухэм зэрахыхьэр, мэз лъапэхэм, къуэ зэвхэм къыщикIухьын хьэл зэриIэр щилъагъукIэ. ЦIыхухэм яхуэпсэлъэныр къэбгъанэмэ, Къэхьиджэ-нанэ бзылъхугъэ насыпым и нэщэнэу илъагъур шылэхъарыщIэ е теубгъуэныщIэ къыпIэрыхьэным щхьэдэхыртэкъым. Сыт хъыджэбзхэм Iуащхьэ зэхэуфIеяхам е удз псыфым къыщакIухькIэ къахэхъуэнур? Хьэмэрэ, я нэхъыжьхэм ямыунафэу, пщIэншэу сыт уэрэд щIыжаIэнур е къыщIэфэнур, ахъшэкIэ уэрэд зыжрагъэIэ, къагъафэ щыIэу? Дахэ зэрыхъунур IупщI зэрыхъуу, Къэхиджэ тырку сатуущI гуэрым иращауэ щытащ щыхъыджэбз цIыкIум. И Iыхьлыхэми, и ныбжьэгъухэми, и хэкуми япэIэщIэ зыщIыну кхъухьым ипкIэу щрашэжьам, Истамбыл дахэшхуэр плъагъуныр пхуэмыIуэтэн гуфIэгъуэу и нэгум къыщIэувэрт пщащэ ныбжьыщIэм. ЯпэщIыкIэ унафэ ткIийм ущIэтыныр зэрымытыншыр зыхищIащ. ИтIани, зыхуейр къыIэрыхьати, псынщIэу есэри, къыщыхута хьэрэмым узэрыщызекIуэн хуей хабзэ псори зригъэщIат. Аращ, и нэхъыжьыр дунейм ехыжу и хэкум къызэригъэзэжрэ, щIыналъэм щыщ пщащэ ныбжьыщIэхэм я псынщIагъым къыщIигъэуIэбжьыр. Абы фIэфIт Истамбыл гъэру щыдэубыда хъыджэбз дахэхэм зыхрагъалъхьэ хабзэ хэIэтыкIахэм тепсэлъыхьын. Узытхьэкъун теплъэ зэримыIэжыр зыхэзыщIэ дэтхэнэ цIыхубз нэхъыжьми ещхьу, Къэхиджэ и ныбжьыр хэкIуэтэху нэхъ тэмакъкIэщI, нэхъ пхъашэ хъурт. Ауэ, итIани, анэ щхьэщымыту ипI пщащэм щабэу зэрыхущытыным хущIэкъурт. Апхуэдэт хъыбар кърихьэжьамкIэ хъыджэбзитIым я уэршэрыр зэпиудын и мураду лэгъунэм къыщIыхьэ Къэхиджэ. ЦIыхухэм я щхьэфэ иIэбэныр зыхилъхьэ щыIэтэкъым нанэм. Сыт щIыфIэмыфIынур, псом хуэмыдэу псалъэмакъыр тыркубзэкIэ екIуэкIмэ? Ар иджыпсту дыдэ гъунэгъу унэм къикIыжри гугъу ехьу къыщIыхьэжа къудейт, Iуащхьэ жыжьэм къикIыжа мэлыхъуэ пашэм бгы фIыцIэхэм я хъан Хорос Калорет (лъэпкъым зэрепцIыжам щхьэкIэ, Сэлим зи къуэшыр иукIар) зэрилъэгъуам тепсэлъыхьыну зигъэхьэзыру. Шу чырэ я гъусэрэ губжьахэу, ахэр яшхэр щIагъэпхъуауэ Убын лъэныкъуэкIэ зэрыхьхэрт. «Я Алыхь, ар си адэмрэ Сэлимрэ яхуумыгъазэ!» - тхьэ елъэIуащ Айнэ, гузэвэгъуэр и псэм телъу. «Сэ сощIэ къэхъункIи хъунур, си хъыджэбз, - жиIащ нанэжьым. - Ар дыгъу бзаджэу жаIэ, ауэ къыпщIэупщIэу зэхэсхащ. Машаллахь! УдэкIуэмэ, узригушхуэ хъун хъан бейщ. ИтIани… Сытым щыщ ар Истамбыл щыщ къызэрыкIуэ сатуущIым елъытауэ?!» «Сыт ар фIыуэ щIумылъагъур? – щIэупщIащ Зарэ. – ЩIалэ къекIуу жаIэ ар». «Уа, Зарэ! «ФIыуэ плъагъун» жыхуэпIэр сыт? Уэ уощIэ лъагъуныгъэр зищIысыр, апхуэдэ упщIэ щхьэ къызэптрэ? ФIыуэ слъагъуным и гугъу сщIыкъым, сыщошынэ сэ абы, гущIэгъуншэрэ пхъашэу къысщохъу. Ар зыкIи ещхькъым си адэм и хьэл зэпIэзэрытым», - жиIащ Айнэ. «Сыт «лъагъуныгъэ» жаIэу мы хъыджэбзхэр зытепсэлъыхьыр? – зэпиудащ ахэр нанэжьым. - Щхьэгъэузщ. Зыри къикIкъым а лъагъуныгъэ жыхуэфIэм. «Лъагъуныгъэ!» Сыт лъагъуныгъэ? Зырикъым ар. Зэрымызырим нэхърэ нэхъеижщ, делагъэщ. Щхьэгъэузщ. Сыт хъыджэбзым лъагъуныгъэм теухуауэ ищIэн хуейр? ДрырекIуи, мис итIанэ фIыуэ ялъагъунщ зи унафэ щIэувэхэр, япщхэр». Айнэрэ Зарэрэ къэнэщхъеящ. Абыхэм гугъэ хахыжат Къэхиджэ-нанэ къыхэмыIэбэу е къакIэлъымыплъу езыхэм яфIэгъэщIэгъуэн гуэрым хуиту тепсэлъыхьын Iэмал къахукъуэкIыным. ПсалъапIэ ихуэху, уэршэрыр езым иришэжьэну гъуэтыгъуэ щихуэхэм деж, абыи удихьэхыфырт Тыркумрэ Истамбылрэ ятеухуауэ жиIэж хъыбар телъыджэхэмкIэ. ИтIани, хъыджэбзхэм я гум жьы дихужат ахэр зыхэхуа щымыгъэ щхьэхуимытым къыIэщIэкIыну амал къезыта Конрин къыщыщIыхьам, и зиусхьэным Айнэ къыхуригъэхьа хъуржын цIыкIур иIыгъыу. Дэ нэхъ пасэуи и гугъу тщIат Аслъэнджэрий Тыркум зэрыщеджами, сулътIаным деж къулыкъушхуэ щызэрихьэу зэрыщытами, абы и фIыгъэкIэ и хэкуэгъухэм яфIэщIэщыгъуэ ехъулIэныгъэ куэд къызэрыIэрыхьами. Зыми къызэримылъагъунур щищIэхэм деж, пщыр хамэ здыщIэмыхьэ и пхъум и пэшым щIэсу, хъыджэбзым и акъыл жаным зэрызригъэужьыным хущIэкъурт, тхылъ зыбжанэ къыздихьар зыдигъэIэпыкъуурэ. Абы и пхъур тыркубзэкIэ псалъэу иригъасэ къудейтэкъым, тхэкIи еджэкIи иригъащIэрт, Шэрджэсейм щыпсэу пщащэ куэдым я пщIыхьэпIэи къыхэмыхуэ гуэрт ар. Сыту жыпIэмэ, мащIэт абыхэм ящыщу къызыхуихуар зауэми мамыр гъащIэми зэхуэдэу щылIыхъужьыфын адэ яIэну. И ныбжьэгъум и зэфIэкIхэм щымыгъуазэ Зарэ и бзэр иубыду къэуIэбжьат, Айнэ унэIутым пIащIэу къыIэщIипхъуэта тхылъымпIэ напэр зэзыпх Iуданэр зэпичу, и адэмрэ и дэлъхумрэ я Iуэху зыIутыр, ахэр здынэсамрэ езыхэм лажьэ зэрамыIэмрэ теухуа хъыбарыр къыщриджыкIам. УнэIутри апхуэдэ дыдэу хуэнэпсейт а тхыгъэм итым. «КъызжеIэт, Гуащэ, къызжеIэт, си зиусхьэн лъапIэм лажьэ иIэкъым, пэжкъэ?» - щIэупщIащ ар. «Пэжщ, Алыхьым и фIыщIэкIэ! Сэлими ди адэми я Iуэхур фIыщ. Уэ сыпхуэсакъын зэрыхуейри зыщызмыгъэгъупщэну къызжеIэ, Конрин». «Алыхьым и фIыщIэщ зыри къыщыщIакъыми. Игу сызэрилъри си гуапэщ», - къритащ абы нэщхъыфIэу жэуап, и Iэхэр зэтрикъузэурэ. Пщышхуэр егъэлеяуэ хуэгуапэт, пщIэи хуищIырт и лыхь хьэщIэм. ИтIани, Тадеуш и жагъуэ хъуат пщащэ пэшыр езым зэи кIуапIэ хуэмыхъуну хэщIапIэу къызэрыщIэкIар. Айнэ дэуэршэр зэпыту, абы и гъусэу зэманыр ирихьэкIын фIыгъуэм хэтхъыкIыныр дэнэ къэна, хъыджэбзым бгъэдыхьэпIэ иIэтэкъым, зэзэмызэххэ, къыщыщэкIхэм деж, псалъэ гуапэ зыбжанэ зэрызэхригъэхым фIэкIа. А псалъэуха кIэщIхэр къызыгурыIуэ Къэхиджэ пщащэ щIалэм ахэр зэхихын хуей зэрыхъум зэгуигъэпырт. Гуапагъэм и нэщэнэ псалъитI-щы фIэкIа мыхъуми, Айнэ абыхэм тэмакъкIыхьу зэредаIуэр илъагъурт. Тадеуш хъыджэбзым нэхъ гъунэгъуу епсэлъылIэныр къехъулIэртэкъым, фызыжьыр къазэрыкIэлъыплъым къыхэкIыу. Айнэ зэпIэзэрыту зэрыщытым кIуэтапIэ къритыртэкъым, щIалэм жиIэр зэхих къудейт. Тадеуш, икIэм икIэжым, Конрин-ныбжьыщIэм гъунэгъу зыхуищIыну мурад ищIащ. Ауэ щIалэм зытригъэхьащэртэкъым: и зиусхьэным и гугъу щыхуищIкIи, езым щыщытхъукIи, псалъэр зэпиудырт. А псом къыхэкIыу, Тадеуш и пIэм зэримыкIыфыр зыхищIэрт, и ныбжьэгъур къэтыху. Сыту жыпIэмэ, зэпсэлъэн иIэтэкъым, тыркубзэкIэ псалъэ пщыжьымрэ урысыдзэм къыхэкIуэсыкIыжа лыхь зауэлI зыбжанэмрэ фIэкIа. И гурыфIыгъуэ тIэкIур Айнэ зэрыIуплъэ мащIэмрэ сэлам щрихкIэ, уэрэдым ещхь и макъ цIыкIумкIэ жэуап къызэрыритыжымрэт. Псори щхьэщызых Iэмал щIагъуэр щакIуэрат. ФочыфIыр IэщIэлъу, Карлрэ и щхьэ Iуэху зрихуэну Iэмал зыгъуэта, гъэру щыщыта гъащIэм зыкIи емыщхь хуитыныгъэм хэтхъыкI и пщылIу щыта лыхь щIалэмрэ я гъусэу, абы мэзхэмрэ бгыхэмрэ къызэхикIухьырт. А зекIуэхэм абы иджыри зауэм дашыну щIалэIуэ ныбжьыщIэ зыбжанэ гъусэ къыщыхуэхъурт, щыхупIэхэм зэрыблэкIынур, ущыщэкIуэну нэхъыфI щIыпIэхэр ирагъэлъагъуу. Шы къратам тетIысхьэурэ, Тадеуш псыхъуэ щхъуантIэхэм шуууэ къыщикIухьу, Iуащхьэхэм дэкIуейуэрэ, бгырыс щIалэхэм шы зэрагъэджэгум еплъу щытащ куэдрэ, езыри абыхэм хуэдэ дыдэу шууей Iэзэ хъуху. Абыхэм зыIэрамыгъэхьэф бзур дамэпкъкIэ къыщихь къэхъурт абы, апщIондэху езыхэр нэхъ дэзыхьэх Iуэхум зэрыхуэIэижьымкIэ ягухэр къихьэхуу. ИтIани, и ныбжьэгъур зэримыгъусэм игъэнэщхъейт. Тадеуш и щхьэ зыхуиумысыжырт абы нэхъ гъунэгъу зыхуищIыну зэрыхуеймкIэ. Дэ ипэIуэкIэ и гугъу тщIащ Айнэ бгыщхьэм щызекIуэ хьэуа къабзэмкIэ бэуэну зэрыфIэфIым, щэхуу къыкIэлъызыкIухь Къэхиджэ – нанэ къыщхьэщымыту. Зарэ-укIытэх гъусэ къыхуэхъуну къытримыгъэхьэфми, ар щIэх-щIэхыурэ и закъуэ ежьэрт и унэIутым фIэкIа гъусэ имыIэу. КъэкIуэжа нэужь, шыIэныгъэ хэлъу хабзэм зэребэкъуам теухуа дерсхэм щIэдэIужын хуей зэрыхъум къимыгъэувыIэу, ар сыт щыгъуи хьэзырт Iэмал зэригъуэту ищIар ищIэжыну. Сыту фIэфIт Айнэ щыхь шырым псынщIагъкIэ пеуэу мэзхэм пхылъэтын! Бгыщхьэхэм дэжейуэ жьы къабзэ жьэдиша нэужь, Iуащхьэхэм я дахагъым, псыхъуэхэм, псыежэххэм яIуплъа нэужь, и гукъеуэхэр щыгъупщэжыпэрт. Апхуэдэ махуэ дахэхэм яз иухын и пэ, пщащэр лэгъунэм къыщIэкIри хуэм-хуэмурэ къесэ унэIут щIалэ цIыкIум и гъусэу ежьащ. Айнэ и дэлъхум и хьэтыр къудейтэкъым ар фIыуэ къыщIыхущытыр, атIэ езы пщащэм бгъэдэлъ гуакIуагъри абы щхьэусыгъуэ хуэхъурт. ИхъуреягъкIэ зиплъыхьу къэзыгъэувыIэн щхьэусыгъуэ щимылъагъум, Айнэ куэд щIауэ здэкIуэну хуея псыхъуэм хуэунэтIауэ мэз лъапэм пхыкIын щIидзащ, унэм хъарзынэу пэIэщIэу. ЩIыпIэ дахэт ар, къурш зэгуэчам щIымахуэм иужькIэ къиуа псыхэр дэлъадэу. Гъэмахуэ хуабэм псышхуэр псыIэрышэ псыгъуэ цIыкIу ищIат, и зы къудамэр уэру къежьэрэ адэкIэ щабэу зридзыхыу, адрейм, къурш дзакIэхэм щхьэпрыжурэ, гуэл цIыкIуу зыщиубгъу псыхъуэм зыдидзэу. Гуащэмрэ унэIут щIалэмрэ удзыпцIэ щабэм и къэдабэм тету псым джафэ ищIа абы и Iуфэм блэкIри, Iуащхьэ джабэм дэкIуеин щIадзат, зи щIыIур мэ IэфI зэмылIэужьыгъуэхэр къызыпих къэкIыгъэхэмрэ чыцэхэмрэ щIэгъэна псыхъуэм ирикIуэу. Уафэ зэлъыIухам а теплъэгъуэм гупсэхугъуэ къыхиухуанэрт, хьэуам мэ гуакIуэхэр щызэрихьэу. ГупсысапIэ къозымыт блэкIыпIэ гугъухэри, къуршым удэзышей лъагъуэ тыншхэри къызэранэкIыурэ, я лъэр трагъэувэн хуей хъумэ, зы къурш дзакIэм илъурэ адрейм пкIэхэурэ, къуацэхэмрэ къэкIыгъэхэмрэ яубыдурэ, ахэр сэнтхым нэсащ. Дахэшхуэрэ хуиту зэлъыIухауэ, абдежым зыщыбгъэпсэху хъун, къуэ цIыкIукIэ иухыж псыхъуэр нэгум къыщыщIэувэрт. Захуэу дэкIея жыгхэр зи хъуреягъ мэз лъапэм и деж, абыхэм хъупIэхэр, хьэмхэр, хадэхэр, Iуэхэр щыплъагъу къуажэ нэщхъыфIэр къащыIуплъэрт. Жыжьэу IукIуэтауэ, псыежэхым и Iуфэм къуажэ мэжджыт зэгъэпэща щытт, и азэнджапIэм тет муIэзиным муслъымэнхэр ахъшэмым къыхуриджэу. Мыбдежым щыплъагъурт мэлыхъуэхэм я хъушэхэр къурш джабэм ирахуурэ, чэтхэм зэрыщIахуэжыр, хьэкIэкхъуэкIэхэм щахъумэн папщIэ. Я Iуэхэм кIуэж жэмхэр буурт, апщIондэху къуажэ хъыджэбзхэм ахэр нэжэгужэу къашырт. Къурш дзакIэ, къудамэ къэс бзухэм уэрэд къыщрашырт. Гупсэхугъуэм хэт къэгъэщIыгъэу хъуам я псэхэр арэзыуэ къыпфIэщIырт. Айнэ и нэгу щIэкIым игу къагъэкIа гупсысэхэм унэIутым къыхишащ. «Гуащэ, - жиIащ абы, - дежьэжу унэм дымыкIуэжу хъунукъым: лъагъуэр задэщ икIи гугъущ, псыхъуэм дынэмысу кIыфI къыттехъуэнущ». «Умышынэ, Конрин. ДыщIэгузэвэн шынагъуэ щыIэкъым, - иритыжащ абы Айнэ жэуап. – Нэхъ Iей дыдэу къытщыщIынкIи хъунур Къэхиджэ-нанэ къызэрыдэшхыдэнуращ. ЩыхупIэм дыщыбгъэдэтыпэми, бгырыс пщащэхэр лъэ быдэкIэ дыщытщ, къызэрыпфIэщIым хуэдэу дышынэкъэрабгъэкъым. Ауэ ди кIуэжыгъуэ къызэрысамкIэ узахуэщ, сыту жыпIэмэ, дыкъызэрытым гу лъатэмэ, Къэхиджэ-нанэ и хабзэ дунейкъутэжхэм я хъийм къэдмыгъэзэжыну дикIа и гугъэнущ». Ауэ ихъуреягъкIэ заплъыхьу, къыщехыжкIэ зытеувапхъэ къурш дзакIэм шэч къытрахьэн щIадза нэужь, бгъэзэжыныр Айнэ къызэрызэфIигъэщIам хуэдэу зэрымытыншыр къагурыIуащ. Сыту жыпIэмэ, зыкъагъэшыху апхуэдизрэ къызрикIуа лъагъуэхэр хэгъуэщат. Гугъут жыпIэну ахэр иджыпсту здэщыт щIыпIэм зэрынэсар. ТIуми пщIэншэу лъагъуэ яфIэкIуэдар къалъыхъуэжырт. ИкIэм икIэжым Конрин къызыблэкIа лъагъухэм я нэхъ лъахъшэм пкIэри, зы лъакъуэ тегъэувапIэ къигъуэта къудейт, ищхьэкIэ къыщыхъум къигъащтэу щыдэплъеям. И щхьэр къызэриIэту, абы къилъэгъуащ Айнэ-гуащэ хьэщхьэрыIуафэ зытет цIыхухъу Iэлым зыIэщIиубыдауэ, къурш задэм щхьэщилъэфэну зэрыхэтыр, апщIондэху езы пщащэм къарууэ иIэмкIэ абы еныкъуэкъурэ и унэIутыр зыдигъэIэпыкъуну тхьэджэу. Мыхьэнэ иIэтэкъым Конрин ищхьэкIэ дэкIуеижыну зэрыхуеIэм, сыту жыпIэмэ, къуацэ псыгъуэхэмрэ удзымрэ иубыдыну хуежьэху, ахэр IэщIэжырт. Зэрыгузавэм игъэкIэзызу, ар зыдэпщеину зыхэта къыр дзакIэм къехуэхыжащ. ЦIыхухъум и теплъэр, пэжыр жыпIэмэ, узижагъуэн и махуэт. И лъагагъкIэ абрагъуэ лIым и нэгур, къанэшхуэ щымыIэу, и щхьэм къелэлэх щхьэц зэхэзэрыхьам щIигъанэу. Абы и щIыIум хужьрэ гъуабжэу зэхэлъ бжэныфэ ирамыIэм къыхэщIыкIа пыIэ къытест, и цыпэ кIыхьхэр и пщэм къытеблаблэрэ и цIыху теплъэр нэхъ шынагъуэж ищIу. И пкъым а цы дыдэм къыхэщIыкIа кIагуэ щыгът, абы къыхэкIыу, бжэныц кIыхь фIыцIэр и плIэми къелэлэхырт. Жыгыфэм къыхэщIыкIауэ лъыгъ вакъэ пхъашэр и лъэдийм фэм къыхэщIыкIа лъэпскIэ епхат. И щIыбым хъуржынрэ шалъэрэ илът, и зы Iэм бжы псыгъуэ хьэмэрэ бжэгъу, абы и гъусэу выфэм къыхэщIыкIа мэIу хъурей IэщIэлът, адрей IэмкIэ Айнэ ибг къуданыр иIыгът. «СыутIыпщыж! Дауэ уигу къэкIыхха апхуэдэу сыбгъэпудыну? – кIийрт пщащэр. - Сэ унэм сыкIуэжыну гъуэгу къызолъыхъуэ!» «Хьэуэ, хъыджэбз дахэ, - жиIащ лIым зыщыщ адыгэбзэ къудамэр мыIупщI макъ пхъашэ шынагъуэкIэ. Ауэ псалъэхэм ящIэлъ макъым Айнэ къыгуригъэIуат абы жиIэр: «Хьэуэ, уэ усаугъэт лъапIэIуэщ апхуэдэу тыншу узыIэщIэзгъэкIын хуэдэу». «ЗыIуегъэх, нэмысыншэ, уи Iэри IугъэкIуэт», - кIиящ Айнэ. ЩIалэм быдэу зэриIыгъым игъэшынами, игъэкIэзызми, ар и лъэпкъ нэмысым тетыжт: «Си лъэпкъым укъелын уфIэщIрэ уэ, си жагъуэ пщIымэ?» «Укъелын, жыпIа? – къэуIэбжьащ лIыр, зигъэпагэу. – Сэ зыгуэрым къызищIэжынкIи хъунум сыщышынэ уи гугъэ уэ?» «УщIыщышынэн щьэусыгъуэ уиIэнущ, сумыутIыпщыжмэ, - итащ пщащэм жэуап. – Сызипхъур хэтми умыщIэу ара?» «Псори фIы дыдэу сощIэ, - жиIащ щIалэ бзаджэм. - Уэ си зиусхьэным лей къезыха, абы и къуэшыр зыукIа пщышхуэм урипхъущ. Абы къыдэкIуэн зымыда ухъыджэбз шынэкъэрабгъэщ. Ауэ иджы уэ си зиусхьэным уелъэпэуэнукъым, абы и гукъыдэжым афIэкIа уи щIыб хуэбгъэзэнукъым». «Сэ сщIэркъым уэ узытепсэлъыхьыр хэтми, - кIиящ Айнэ. – Сэ си адэм игъащIэм адыгэ тепщэ иукIакъым». «Сэ фIы дыдэу соцIыху уи адэр, - къыпидзащ абы бзаджащIэм. - Ар Аслъэнджэрий Пащэрщ, уэ Хъан хахуэм, си зиусхьэн Хорос Калорет удэкIуэн бдакъым!» «Хъан Калорет уи зиусхьэну ара?» – къэуIэбжьащ Айнэ, а цIэр зэрызэхихыу, зэрышынам нэхърэ нэхъеижу гужьеяуэ. «Абы зыхуигъэфэщэнут пщIэ зиIэ уэркъым и пхъур къиубыдыну. СыутIыпщыж, бзаджащIэ!» «Сэ си зиусхьэныр зы адыгэ тепщи щышынэркъым, - итащ жэуап лIым, къэгубжьауэ. – АфIэкIа псалъэ згъэкIуэдынукъым сэ. КIиин щыгъэти, уи гукъыдэжкIэ накIуэ. ЩIыхь зиIэ си зиусхьэныр къыппоплъэ». Айнэ шынэм зэщIищтэу гъуэгащ. «Я Алыхь, зыкъысщIэгъакъуэ!» - кIиящ ар, бзаджэнаджэм ирилъэфэжьэну щыхуежьэм. «СыутIыпщыж, нэмысыншэ, сынолъэIу, сыутIыпщ!» «Хьэуэ, хъыджэбз, хьэуэ, пщIэншэу укъызолъэIу! - жиIэрт лIыми. - «Си зиусхьэныр егъэдаIуэ а жыпIэхэм. Си дежкIэ абыхэм мыхьэнэ яIэкъым». «ПсынщIэу, Конрин, щIэпхъуэ, - кIиящ хъыджэбзыр тыркубзэкIэ. - «Ди деж зич! Сэлимрэ си адэмрэ лIыкIуэ яхуэгъакIуэ, къуажэдэсхэр къешажьэ!» УнэIутыр жыIэдаIуэу зэрыщIэпхъуэр лIы бзаджэм щилъагъум, Айнэ къыжьэхэлъащ: «КъэгъэувыIэт щIалэр, зыми дыкъимылъагъу щIыкIэ. Зэрызигъэхъейуэ, и бгъэм шабзэшэр хэзукIэнущ!» Абы жиIахэр къызыгурымыIуа Конрин - Айнэ гужьеиIуат ахэр абы хузэримыдзэкIыфын хуэдизу - зы къурш дзакIэм телъым адрейм тепкIэурэ лъэрт, блэувыкIмэ къыщыщIынкIи хъунури, лIэныгъэ къыщхьэщытри къыфIэмыIуэхуу. АпщIондэху бзаджащIэм зэригъэшынар игъэзэщIэн щIидзащ. ЛIы бзаджэм зы тэлайкIэ Айнэ иутIыпщщ, зэи зытригъэпсам блэмыукI и IэхэмкIэ и щIыбым фIэлъ шабзэр къищтэри шэр трилъхьащ. Айнэ Конрин къигъэувыIэну, е бзаджэнаджэм и Iэр ирихьэхыну лъаIуэу зэрытхьэджэм мыхьэнэ иIэтэкъым. Зыми абы и макъыр зэхихыртэкъым. ЩIалэ цIыкIу тхьэмыщкIэм и гъащIэр щиухыну дакъикъэр къэса пэлъытэт, шабзэшэр шабзэм щиутIыпщам. Ауэ ар зышэщI Iэр тхьэкIумэм нэсын ипэ, удынышхуэ къытехуэри, шэр зытегъэпсам нэмысу унэIутым и щхьэм лъагэу щхьэщылъэтащ. Бгырыс къэгубжьам етIуанэ шабзэшэр къищтэу къебгъэрыкIуам и дежкIэ зыщигъазэм, и Iэр быдэу зыгуэрым зыIэщIиубыдащ. Айнэ кIиящ, къезыгъэлам и псэр хахынкIэ гузавэу. Ар зэры-Тадеушыр къицIыхуакIэт.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "kingston.txt" }
*** Пракрит усыгъэр зэрыгъагъэм Емыджэф щIэмыдэIуфхэу ФIылъагъу щэхухэм тепсэлъыхьхэр Сыту мыукIытэрэ? *** Iуэху пэрыхьа цIыхур йохъулIэ Е и лIэгъуэр къос. Ауэ лIэныгъэр уемылIалIэуи къокIуэ ЕхъулIэгъуэр – къакIуэкъым. *** Уисмэ – урес, ужьэражьэмэ - жьэражьэ Укъачэмэ – къачэ, сигу; Арами, сыбгынакIэщ а зи пэжыпIэм унэмысыр. *** Гум къыбгъэдэкI псалъэхэр нэгъуэщIщ; IукIуэт! Сыт я мыхьэнэ мы IупитIым къаблэкIахэм? *** Пхъэщхьэмыщхьэхэм кърашэхмэ загъэщхъ Пачыжмэ – заIэт: Жыгышхуэ щхьэкIэхэм ещхьщ УщиякIуэхэм ягухэр. *** И фIэщу щыгубжькIи Уигу хэзыгъэщIын дэнэ кърихын Псэ къабзэм и жьэм - Жэщым IэщIэлъми гурыхьщ Мазэм и бзийхэр. *** БампIэм щIэгъэпщкIуа, Гум жьы ихъухьыжа щэхухэр нэгъунэ ЦIыху Iущым хуэпIуатэмэ, МафIэм есыж ГъащIэр щиухкIэ. *** Куэд урихьэлIэкъым жэуап къуитыж щIыкIэу гум нэсын псалъэхэр къезыгъэзэгъыф. *** ЦIыхуфIыр къэгубжькъым Губжьми Iей игу къэкIкъым КъэкI хъумэ жиIэкъым ЖиIэ хъуми щIогъуэж. *** ЦIыху нэгъэсар щхьэхуитми Псоми яхуэжыIэщIэщ ЩэныфIэу мэIэбэ Бийм бгъэдэтми зэрыщымыткъым. *** Мэхьэнэншэм зыпыпщIэныр Псыежэхым тедза сатырщ ЦIыху пэжым и ныбжьэгъугъэр Мывэм тетхащи текIыжкъым. *** ПIэщIэлъ, уи былымщ Бгъуэтыж, уи ныбжьэгъущ Щэн зыхэлъ, дахэщ ФIыр зи нэрыгъ, Iущщ. *** Бгым хуэдэу лъагэри IуэхугъуитIым ягъэжь: ИщIэн хуеямрэ ИмыщIэн хуеямрэ. *** Зэман кIыхькIэ зэхуэпэжыныр Зи лъабжьэ лъагъуныгъэ жыгым ФIэмыIуэхуным и джыдэр къецырхъмэ Зы макъи зэхомыхыу йощIыкI. Мэз бжэнхэр 1 Жыгхэм Iугъуаер къапихыу И фэм лыгъейр къылъэIэсыпэми МафIэ'мэз щыпсэууэ къызфIегъэщIри Мэз бжэн делэр зэи щIэпхъуэжкъым. 2 Мэз бжэнхэм яIу игъущыкIау Псы Iубыгъуэ закъуэ къагъуэт Гуащэр и щауэм псым хущосхь Щауэм мор ефэм нэхъ къещтэ Апхуэдэ щIыкIэу зэпсэгъухэр Псы емыфэу ежьэжащ «Ар зыхуей»рат нэхъапэри ЗагъэнщIат емыIубыххау Удзыри псыри уэр-уэру Къыщыплъыхъуэн хуей мэз Iувым ЩIэс мэз бжэнхэм, даурэ ящIми, Я фIылъагъур мащэм нахьэсыф. 3 Шабзэшэр зытыригъэхуэну Мэз бжэныр и гуащэм пожэкI Модрейм имыдэу япэ йощыж Хьэзырщ и псэхэхым Iуплъэну Ауэ и гъэфIэныр иужь дыдэ Зэрилъагъужыр зыхищIауэ ГуIэфI куур и плъэкIэм щызу НэхэмкIэ щауэм йодахащIэ ЩакIуэм гури шабзэри Iэпоху И нэм нэпс къытелъэдауэ Къегъэлэлэжри хыфIедзэ И тхьэкIумэм фIэкIыу ишэщIар ГуфIэгъуэри гуIэгъуэри зэдайуэ ЗэрызэхащIэм зы ищIахэм Гу зэхуэщIыным и IэфIыр Зэманым зыхуигъэбэгъуахэм А зэпсэгъухэм яз ехыжу И гуэгъуар тыринэм мы щIым Псэм хэкIыжар къэнэкIафIэщ Елъытау, щыхэкIыжам, мы щIым.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "kjlu.txt" }
Лъэрызехьэхэм кхъухьлъатэ щызэрагъэпэщ ди лъэхъэнэм шы зехуэныр пасэрей хьэлу къащохъу нэхъыбэм. КуэдкIэ нэхъ гъэщIэгъуэнщ а зэман дыдэм адыгэшым и пщIэр езым и хэкум нэхърэ, и гъунэгъухэм; гъунапкъэм уикIмэ - цивилизацэм и курыкупсэм ис европей лъэпкъхэм я деж зэрыщынэхъ лъагэр. «Адыгэхэр, хьэрыпхэм ещхьу, шы лъэпкъыр къабзэу къэнэным ялейуэ хуосакъ, абы утеплъэкъукIыныр къуаншэгъэшхуэу ялъытэ», - етх епщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм Кавказым щыIа нэмыцэ ботаник Кох Карл. Шы гъэхъунымкIэ урысейпсо щIэныгъэрылажьэ институтым и Налшык къудамэм и унафэщI Амщокъуэ Хьэжысмел мис а нэмыцэм зи гугъу ищI, шы лъэпкъым и къабзагъым теплъэкъукIыныр зымыдэн «щымыIэж адыгэхэм» ящыщщ. Хьэжысмел и Iэнэм Инджылызым кърагъэха тхыгъэ телъщ «Кливленд пцIэгъуэплъымрэ адыгэшымрэ зэрызэблагъэм и генетикэ тегъэщIапIэхэр» («Genetic link between Kabardians and Cleveland Bay breeds») и псалъащхьэу. Ар зи IэдакъэщIэкI Эдмундс Генри зи цIэ къриIуэ инджылыз шы лъэпкъыр хъумэныр пщэрылъ зыщызыщIыж зэгухьэныгъэм и унафэщIщ. Тхыдэмрэ генетикэмрэ и тегъэщIапIэу, Эдмундс уи фIэщ ещI кливленд пцIэгъуэплъкIэ зэджэ инджылызышымрэ къэбэрдеймрэ зы шы лъэпкъым и къуэпс зырызу зэрыщытыр. Инджылыз пащтыхь гуащэ Елизаветэ ЕтIуанэм зи тхыдэр лIэщIыгъуэ жыжьэхэм Iэбэж а пасэрей шы лъэпкъым гулъытэ хуищIыр къигъэнаIуэу, кливлендыр и гуимэм щIрегъащIэ, и нэIэ зэрытетри хэIущIыIущ. - I990 гъэм шыгъажэ тщIыуэ, Инджылызым къикIри хьэщIэ гуп къэкIуауэ щытащ республикэм, – игу къегъэкIыж МэкъумэшымкIэ щIэныгъэрылажьэ институтым бысым щытхуэхъуа Хьэжысмел. - Малкэ шы заводым щедгъэблагъэм, шы гъажэ кIыхь зэпеуэ (километр 80) тщIауэ щытат, а зэпеуэм Инджылызым щыщу шууеищ хэтащ. Абы щыгъуэм инджылызым къикIа гупым яхэтахэщ Iэщ дохутыр Паворд Тони, Лондон къыщыдэкI «Райдинг» журналым и редактор нэхъыщхьэ Скотт Хеллен, Инджылызым шыгъажэ кIыхьымкIэ и гуп къыхэхам щыщ, Шотландием къикIа Камерун Кенди сымэ, нэгъуэщIхэри. Ахэр къыщIэкIуар адыгэшым и зехуэкIэр, и гъэхъукIэр зырагъэцIыхунырт. Паворд Тони си гъусэу зэхьэзэхуэ екIуэкIым и хеящIэу (судьяуэ) щытащ абы щыгъуэ. Куэд хэтащ а зэхьэзэхуэм, ауэ щхьэхуэу зэпеуахэщ инджылызымрэ ди республикэм щыщу шу щырыщ, псори адыгэш тесахэщ, пхъэидзэкIэ къыхахауэ. Япэ увыпIэр шыгъажэм къыщихьат адыгэ хакIуэ Каро. Ар мазэ хъуауэ арат Стокгольм къызэрикIыжрэ, километри I60 зи кIыхьагъ шыгъажэм япэрей Дунейпсо олимп шыгъэджэгу зэпеуэм (Всемирные конные олимпийские игры) хэтауэ. Шыгъажэ нэужьым, ди хьэщIэхэм къыджаIащ ипэжыпIэкIэ Каро и фIыгъэкIэ къызэрыкIуар, адыгэш нэхъыбэу зэрагъэцIыхуну хуейуэ. ЗэрыжаIэжамкIэ, а хакIуэм гу занщIэу абы Стокгольм щылъатат зэхьэзехуэр здекIуэкIым. Япэрауэ, шууейм зыри дэIэпыкъуэгъу и гъусэтэкъым, адрей къыпеуэхэм тIурытI-щырыщ зимыгъусэ яхэттэкъым: хэт псы иригъафэт, хэт шыр игъэупщIыIут, псы трикIэурэ, хэт игъашхэрт. Километр 80-м япэ увыпIэм иту нэсащ Каро, чемпион хъуа американкэм и гъусэу. Абы иужькIэ налыр мывэ гъуэгум щыщIэхури, ар щIэзылъхьэжын имыгъуэтурэ, шууейм сыхьэтым нэс фIэкIуэдащ. ЯфIэгуэныхь хъури, гъуэгум къытена шууейм шведхэм нал гуэр къыхуагъуэтщ, Каро хущIальхьэри зэхьэзехуэм хыхьэжащ. А зэманым зэхьэзехуэм хэту къыпеуэ шыхэр километр I5-20-кIэ япэ ищакIэт. Шыгъажэр щиухым апхуэдизу къыкIэрыхуа Каро шы 89-м щыщу 3I увыпIэр иубыдащ. Ар зылъэгъуахэм ягъэщIагъуэри Каро къызыхэкIа шы лъэпкъыр зэрагъэцIыхуну къэкIуауэ арат. Малкэ щекIуэкIа шыгъажэ кIыхьыр иуха нэужь, хьэщIэхэр къыдэлъэIури Малкэ заводым и шы гуартэхэм, нэгъуэщI къуажитI-щым я шы гуартэхэми едгъэплъащ, хуабжьуи адыгэшыр ягу ирихьат. ШыбзипщIрэ зы хакIуэрэ къащтэну мурад ящIри зейхэми ягурыIуахэт. Абы иужькIэ Iэщ дохутырхэм шы къыхахахэм теухуауэ ирагъэкIуэкIыпхъэ лэжьыгъэхэр ящIэри, шыхэр зэрашэным хуэдэу ягъэхьэзырауэ щытащ, ауэ I992-I993 гъэхэм къэралым щекIуэкIа Iуэхухэм я щхьэусыгъуэкIэ яшэфакъым. Малкэ заводым и шы гуартэм дыщеплъым, инджылызхэм я Iэщ дохутыр Паворд Тони, сэри сыдэIэпыкъуурэ, шыбз 50-м я соку къыхэтчащ. Ахэр пакет цIыкIу зырыз иралъхьэри яхьащ «генетическэ анализ тщIынущ» жаIэри. Зэман дэкIауэ, Паворд къитхащ адыгэшхэр зэрамышэфар игу къызэреуэр, къащта сокухэри Макс Планка и цIэр зезыхьэ институтым зэрыратар жиIащ. А институтым дуней псом псэущхьэуи къэкIыгъэуи щыIэм я ДНК-хэм я гъэтIылъыпIэр щызэхуэхьэсащ. Кливлендхэр нэхъ зытехуэ лъэпкъ щылъыхъуэм, ДНК щапхъэхэр къыщащтари а институтращ. КъызэрыщIэкIымкIэ, зи къежьапIэ лъыхъуэ кливлендым и къудамэ мыхьэнэ нэхъ зиIэм и ДНК-мрэ адыгэшым еймрэ зэтехуащ. Мыбы бгъэщIэгъуэнур зы упщIэщ: кливленд шы лэпкъым и лъабжьэр инджылызым щыкIуар (тхыдэм зэрыжиIэмкIэ) I73 гъэращ. I990 гъэм Малкэ заводым адыгэшым къыIаха соку образецхэм къыхаха ДНК-р щхьэ техуэн хуей I73 гъэм инджылызым икIа шы гуп «кливленд» зыфIащам?! Уегупсыпс хъунущ: дэ тхузэфIэкIыну пIэрэ ди шы лъэпкъым и тхыдэр здынэсымрэ уи лъэпкъыцIэр зезыхьэ апхуэдэ хъугъуэфIыгъуэ уиIэнымрэ я уасэр къыдгурыIуэжыну?! А Iуэхум щIэныгъэлIхэр нэхъ куууэ зэрелэжьын хуейр гурыIуэгъуэщ. Инджылызхэм нэмыщI, илъэсищ-плIы хъуауэ адыгэшым и геномыр къэгъэнаIуэным йолэжь Берлин Гумбольдт и цIэр зэрихьэу дэт университетым я генетикхэри, а къэхутэныгъэ Iуэхум теухуауэ къыддэлэжьэну хуейхэщ. КъыдэхъулIэмэ, иджыри къэс дымыщIауэ хъыбар гъэщIэгъуэн куэд ди лъэпкъышым теухуауэ нэрылъагъу хъунущ.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "klivlend.txt" }
1 ЗэзыдзэкIар Шорэ Маринэщ Нэхъ къудамэфIхэрщ куэду къызыпыкIэр, Дахагъэр мыкIуэдыжу зыгъэпсэур. Пырещэщыж гъэгъахэр пIалъэр икIмэ, - Ахэр щехъумэ гум щIэуэ къэпсэум. Мис уэри, уи дэхагъ уехъуэпсэжауэ, Псыу пщIэтыр псори уэ абы щIыбокIэ, Уи къулеягъэр къебыугуэшэкIауэ, - Зи щхьэ и бий, уэрщ жэгъуэгъу бзаджэр уэркIэ. Нобэрей махуэрщ уэ бгъэщIэрэщIэнур, Гъатхэ щIэх дыдэу блэкIым и нэщэнэ, - Жылэу мэгъуж, къэмыкIыу, уи къэкIуэнур, Уи нэпсеягъэр икъухьыным хыбоухуанэ. Мы дунеижьыр хъууэ пфIэпсэкIуэд, ЩIалэгъуэ жылэр щIым щумыгъэкIуэд. 8 ЗэзыдзэкIар Гугъуэт Заремэщ Уэ умакъамэщ, ауэ макъыу къэIум МыгурыIуэгъуэ гуэру уагъэзэш. Щхьэи уфIэфI нэщхъейуэ Iутыр бжэIум, Гупсысэр къебгъэблагъэурэ уи пэш? Сыт щэхуу хэлъыр а уэ пщыщ гугъуехьым? Щхьэ нэщхъеягъэм IэплIэ къуишэкIа? Апхуэдэу екIуу зэкIэлъыкIуэ макъхэм Я IукIэр закъуэныгъэм къыхэкIа? ЩIэдэIут! ЗэрыгуфIэ макъамэбзэр! Уэрэдым къыщаIуатэри зыхуейр Зэгъусэу анэр, адэр, я щIалэщIэр А макъым насыпыфIэу хэт нэхъей! Макъамэ зэщIэжьыуэм къыдеIуэкIыр Зи закъуэр гъащIэм пщIэншэу зэрыблэкIыр. 27 ЗэзыдзэкIар Шорэ Маринэщ Сылажьэурэ сешащ, сыхуейщ сыIурихыну, ГъуэлъыпIэм псэм псэхугъуэ щигъуэтыну. Арщхьэ, сыгъуэлъмэ, аргуэру гъуэгу сытохьэ – СызыщIэхъуэпс мурадыр си гум къохьэ. ХъуапсапIэхэр, гухэлъхэр едэпщанэ Нежьа уи деж екIуалIэпIэншэ гъуэгукIэ, Ешами, напIэхэр зэхуэзмыхьауэ ауэ, Солъагъу кIыфIыгъэ илъагъур нэфми псэкIэ. Мы си гуи, си гупсыси я нэ жанкIэ, КIыфIыгъэм сыщыплъохъуэ, нэф сыхъуауэ, Хуэдэ щымыIэу сфIэщIу кIыфIым зэкIэ, Абы уи ныбжьыр нэхуу къыхыхьамэ. Псэхугъуэ лъагъуныгъэм къызимыт . Аращи - зэпымыууэ гъуэгу сытетщ... 130 ЗэзыдзэкIар НэщIэпыджэ Замирэщ Си дахэм и нэр вагъуэм хуэзмыгъадэ, И Iупэр дыхьэрэнуэ мыплъыжь, И щIыфэми уэс хужьу уIумыплъэ, И щхьэцми щIакIуэ Iуву зимутIыпщ. Дамаск и розэ хужьым, тхьэмбылыфэм НэкIущхьэхэр гъунэгъууи емыщхь, Мэ гуакIуэ и бэуэкIэм къыщхьэщихми, Ар епэрымэм хуэдэу мыгурыхь. Абы и макъыр зэхэсхыну сфIэфIми, Мэкъамэ куэд нэхъ дахэу щыIэгъэнщ, Тхьэгуащэм щабэрыкIуэу къикIухьыфми, Си дахэм ар и кIуэкIэу жызмыIэн. Щытхъупс трагъэлъадэ тхьэIухудхэм - Сэ фIыуэ слъагъур пэжым игъэпудкъым.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "kmj.txt" }
Элиот Томас ЦIыхубэ зэхэтыкIэм усэм щихь къалэныр Усэр цIыхубэ зэхэтыкIэм зэрыхэIэбэ щIыкIэр къыдгурыIуэну дыхуеймэ, абы и зэфIэкIыр шэчыншэу дэзыгъэлъагъу гуэрхэм гу лъыттапхъэщ, ахэр къемыхъулIэмэ, езы усэри усэу убж мыхъуну. Абыхэм ящыщу укъимыкIуэту псом япэ пхуигъэувэнущ укъызэджэ усэм гурыфIыгъуэ къуитын зэрыхуейр. Сыт хуэдэ гурыфIыгъуэ ар жыфIэнкIи хъунщ. Жэуап фызот: усэм фIэкIа нэгъуэщIым зыми къуимытыфын гурыфIыгъуэ. Пэжщ, дэтхэнэ усакIуэ нэсми, ар щэджащэ дыдэуи щремыт, и усэхэм я мыхьэнэр абыхэм дыкъеджэну зэрытфIэфI къудейм деж щиухкъым. Зыгуэр пфIэфIынымкIэ Iуэхур зэфIэкIыу щытамэ, апхуэдэ фIэфIыныгъэм къихь гурыфIыгъуэр хэIэтыкIахэм яхыубжэ хъунутэкъым. Езым зыхуигъэувыжынкIи хъуну къалэн щхьэхуэхэм уакъыфIэкIмэ, усэм сытым дежи щIэуэ зыхэпщIэ гуэрым щыгъуазэ уещI. Е гурыщIэ пцIыхум нэгъуэщIынэкIэ урегъэплъ. Е зэгуэр зыхэтщIа, ауэ псалъэ къызыхуэдмыгъуэтыфа гуэрым топсэлъыхь. Апхуэдэ щIыкIэу абы ди псэр нэхъ къулей ещIри мыхьэнэхэм я уафэм щекIуэкIыр нэхъ гурыIуэгъуэ тщещI. Ауэ дэ зи гугъу тщIыну дызыхуейр усэм нэрыбгэм зэрызригъэужьымрэ абы къеджэ цIыхум игъуэт гурыфIыгъуэ лIэужьыгъуэмрэкъым. Дэ фIы дыдэу къыдгуроIуэ усэм къыдит гурыфIыгъуэр зыхуэдэри ар ди гъащIэм къызэрыхэIэбэ щIыкIэри. ГурыфIыгъуэ къыдиту ди гъащIэм къыхэмыIэбэмэ, усэкIэ уеджэ хъуххэнукъым абы. Ауэ а къалэнитIыр зэриIэм арэзы утехъуа нэужь, гу лъытапхъэщ усэм абыхэм къафIэкIыу иджыри бэ зэхэтыкIэм лэжьыгъэ щхьэхуэ зэрыщигъэзащIэр. А лэжьыгъэр сэ зэрыхъукIэ абрагъуэу къэлъытэным срителъхьэщ. Сэ сызэрегупсысымкIэ, мыхьэнэшхуэ дыдэ иIэщ лъэпкъым езым и усэ пшыналъэ иIэжыным. Мыхьэнэ щIиIэр усэр къызыгурыIуэ цIыхухэм папщIэ къудейкъым, апхуэдэхэм хамэ лъэпкъыбзэ зрагъащIэу а бзэхэмкIэ езыр-езыру усэм гурыфIыгъуэ хахыныр къатехьэлъэнукъым. Зи гугъу сщIы Iуэхум бэм нэрыбгэу хабжэу хъуар къызэщIеубыдэ, абы усэр къызыгурымыIуэхэри, и лъэпкъым нэхъ усакIуэшхуэу иIэхэр зымыцIыхухэри яхэту. Дызытепсэлъыхьыну сызыхуейр усэм мис а иджыпсту зи гугъу сщIа и къалэнращ. Дэ дощIэ усэм усакIуэм и лъэпкъэгъухэми, абы и бзэкIэ псалъэ цIыхухэми уасэ щхьэхуэ, гъуазджэм и адрей къудамэ псоми ялейуэ, зэрыхуагъэувыр, нэгъуэщIыбзэкIэ тхэ усакIуэхэм хуагъэувынкIэ Iэмал имыIэу. Пэжщ, щIыпIэм и нэпкъыжьэ мэкъамэми сурэтыщI гъуазджэми телъщ. Ауэ хамэ лъэпкъым и мэкъамэмрэ и сурэт гъуазджэмрэ къыбгурыIуэну, шэч хэмылъу, куэдкIэ нэхъ тыншщ. Прозэр щызэбдзэкIкIэ абы и дахагъэм зыгуэр зэрыкIэрыхум хэти щыгъуазэщ. Усэр зэдзэкIын хуей хъумэ, абы романым нэхърэ нэхъыбэ фIэкIуэду къыдолъытэ. ЩIэныгъэлI лэжьыгъэ зэбдзэкIыу сощIри, абы кIэрыхушхуэ щыIэкъым. Усэр бзэм и щIыналъэм быдэу зэрепхар европеибзэхэм я тхыдэм къегъэлъагъуэ. Курыт лIэщIыгъуэхэм щегъэжьауэ латиныбзэр философием, диным, щIэныгъэм я бзэу екIуэкIащ лIэщIыгъуитI-щыкIэ узэIэбэкIыжыху. Ауэ лъэпкъыбзэхэр тхыбзэ пщIы зэрыхъунур ягу къэзыгъэкIар усэращ. Абы гъэщIэгъуэн зыри хэлъкъым, сыту жыпIэмэ, усэм цIыхум и гурыщIэхэмрэ гукъеуэхэмрэ къигъэлъэгъуэну и къалэнщ. ГурыщIэхэмрэ гукъеуэхэмрэ хэт и дежкIи щхьэхуэщ, гупсысэхэр псоми я зэхуэдэу щытми. Хамэ лъэпкъыбзэкIэ угупсысэну нэхъ тыншщ а бзэмкIэ зыгуэр зыхэпщIэн нэхърэ. Аращи, гъуазджэм и зы къудамэми зы лъэпкъыр адрейхэм къахигъэщхьэхукIкъым усэм хуэдэу. Лъэпкъым и бзэр къыпхутехынущ, къарукIэ абы и еджапIэхэр нэгъуэщIыбзэм пхутегъэувэнущ. Ауэ а лъэпкъым дунейр хамэбзэкIэ зыхищIэу ебгъэсэфыху бзэжьыр пхуэгъэкIуэдынукъым. Абы сытым дежи зэрыщыIэр зыкъуигъэщIэнущ гурыщIэхэм хэIэбэ усэбзэмкIэ. «ХамэбзэкIэ зыхищIэ» жызоIэ. Абы «хамэбзэкIэ уи гупсысэхэр къэIуэтэн» жыхуаIэм нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэ къызэщIеубыдэ. ХамэбзэкIэ къэпIуэта гупсысэр а гупсысэ дыдэрауэ къонэж. Ауэ щыхъукIэ, хамэбзэкIэ зыхэпщIамрэ уигу къеуамрэ нэгъуэщI зыгуэр мэхъу. НэгъуэщIыбзэ зэзгъэщIарэт щIыжыпIэн щхьэусыгъуэхэм ящыщщ абы и фIыгъэкIэ иджыри зы цIыху къыпхэхъуа хуэдэу узэрыхъур. Ауэ хамэ лъэпкъыбзэ ар ууейм и пIэ ибгъэувэну зэбгъащIэ щIэмыхъун щхьэусыгъуэщ, дызищIысыр ди щхьэкIэ дгъэкIуэдэжыну дызэрыхуэмейр. Бзэ зызыужьар пхуэгъэкIуэдыжыну къыщIэкIынкъым абы ирипсалъэ лъэпкъыр умыгъэкIуэдыжауэ. Лъэпкъ гуэр нэгъуэщIыбзэкIэ псэлъэн щIыщIидзэ щхьэусыгъуэр бзэщIэр зыгуэркIэ мыдрейм къофIэкIри аращ. Абы бзэ нэхъ махэр ауэ сытми иригъэкIуэтэкI къудейкъым. Япэрей бзэм елъытауэ, и гурыщIэхэри и гупсысэхэри нэхъ нэгъэсауэ къиIуэтэну Iэмал кърет. ГурыщIэхэмрэ гукъеуэхэмрэ псом нэхърэ нэхъыфIу лъэпкъыр зэрыпсалъэ бзэ къызэрыгуэкIымкIэ, бэм щызэхэт гуп лIэужьыгъуэ псоми къыщысэбэпымкIэ, къэIуэта мэхъу. Бзэм и IукIэм, и мэкъамэм, и макъхэм, псалъафэхэр зэрызэхэувэ щIыкIэм абы ирипсалъэ лъэпкъыр адрейхэм къазэрыщхьэщыкIыр къагъэлъагъуэ. Прозэм нэхърэ усэм гурыщIэмрэ гукъеуэмрэ нэхъ къеIуэтэф жысIэм къизгъэкIкъым усэм гупсысэ куу щIэлъын хуэмейуэ хьэмэрэ усэ щэджащэхэр а лъэныкъуэмкIэ къызэрыгуэкIым къащхьэщымыкIыу. Си гупсысэм адэкIэ зезгъэубгъункъым нэгъуэщIыпIэ дыхимыхьэн щхьэкIэ. Ауэ дызэгурыIуауэ дыбжынщ гурыщIэхэм я нэхъ куухэр цIыхухэм езыхэм я бзэмкIэ дунейм къытехьа усэхэм къызэрыщагъуэтыр, гъуазджэм и адрей къудамэхэри нэгъуэщIыбзэкIэ ядж усэхэри къэгъэнауэ. ЖытIам, дауи, къикIкъым усыгъэ лъагэр дэтхэнэ зыми ицIыху гурыщIэхэмрэ гукъеуэхэмрэ я деж щиухыу. Усэр псоми къагурыIуэ къудейм хуэбгъакIуэ хъунукъым. Лъэпкъ зэрубыдам щIэныгъэ нэхъ зыбгъэдэлъу, псэм и курыкупсэр нэхъ кууэ къэзыхутэфу хэт цIыхухэм зыхащIэр а бзэм ирипсалъэ я лъэпкъэгъу къызэрыгуэкIхэм зыхащIэм нэхъ тохуэ нэгъуэщIыбзэ зыIурылъ, ауэ апхуэдэ дыдэу гъащIэ куу езыхьэкIхэр зырытехуэм нэхърэ. ЗэхэтыкIэр узыншэмэ, лъэпкъым и усакIуэшхуэр дэтхэнэ и зы лъэпкъэгъуми пэгъунэгъущ сыт хуэдизкIэ ахэр щIэныгъэкIэ зэщхьэщыкIми. «УсакIуэм и лъэпкъым деж къалэн щехь» щыжыпIэкIэ мыхьэнэ нэхъ зиIэр къэIуэта хъуркъым: абы къалэн щихьыр псом япэрауэ и бзэм дежщ. Абы и къалэнщ а бзэр ихъумэну, нэхъ къулей ищIыну, зригъэузэщIыну. Адрей цIыхухэм зыхащIэр къиIуатэурэ усакIуэм а гурыщIэр зэрегъэзахуэ, нэхъ къагурыIуэ ещI. Абы цIыхухэм асыхьэтым зыхащIэр ярегъэлъагъужри езыхэм нэхъ зацIыхужыну Iэмал ярет. УсакIуэ щIалэм деж Париж, щIышылэм и 17, 1903 гъэ Зиусхьэн лъапIэ! Уи тхыгъэр къысIэрыхьа къудейщ. ФIыщIэ пхузощI псэм ехуэбылIэу апхуэдэ дзыхьышхуэ къызэрызэбгъэзам папщIэ. Абы нэхъыбэ схуэщIэну пIэрэ: сэ схужыIэнукъым уи усэхэр зыхуэдэр, критикэ мурад лъэпкъи сиIэкъым. Критикэм и псалъэр зэзэмызэххэщ IэдакъэщIэкIым щылъэIэсыр, критикэм жиIэхэри нэхъыбэм зыр адрейм къызэрыгурымыIуам къыхэкIа фIыуэ е къызэрыгуэкI гуэру къыщIокI. КъызэрытфIагъэщIым хуэдэу сыт ищIысри псалъэкIэ къыпхуэIуэтэну щыткъым. КъэхъукъащIэ куэд къыпхуэгъэлъагъуэркъым, ахэр псалъэр иджыри здынэмыса щIыпIэм щыIэщи. Псом нэхъ зытепсэлъыхьыгъуейр гъуазджэ IэдакъэщIэкIхэращ - дэ ди гъащIэ кIэщIым зэи мыкIуэдыжыну къабгъурытхэм. А пэублэ кIэщIыр сщIа иужькIэ бжесIэфынур зыщ: уи усэхэм ахэр адрейхэм къахэзгъэщхьэхукIын къару ябгъэдэлъкъым, ауэ щэхуу, куууэ езыхэм яиж гуэр щоулъэпхъащэ. Псом нэхъ IупщIыу ар зыхэслъагъуэр иужьрей «Си псэ» усэращ. «Леопарди» усэми а Псэшхуэ зи закъуэм епха гуэр къыхыхьэ хуэдэу щытщ. ИтIани мы усэхэм иджыри уасэшхуэ яIэкъым. Абыхэм иджыри Iэзагъ яхурикъуркъым - а иужьрейри, Леопарди теухуари яхэту. Усэхэм гур къитхьэщIыкIауэ къыдыщIыбгъуа тхыгъэм къызгуригъэIуащ сэ езым зыхэсщIэу, ауэ къысхуэмыIуатэу абыхэм ядэзгъуэр. Си усэхэр хъуа жыбоIэри укъызоупщI. УпщIэр зыхуэгъэзар сэращ. Япэм нэгъуэщIхэм уеупщIырт. Уэ ахэр журналхэм ибогъэхь. Адрейхэм я усэхэм ибогъапщэри уи жагъуэ мэхъу языныкъуэ редакцэхэм уи IэдакъэщIэкIхэр къызэрырагъэхьыжыр. Аращи, чэнджэщ уэстыну хуит сыщыпщIакIэ, сынолъэIу мы Iуэхур къэбгъэнэну. Уэ къыбдалъагъун ехъулIэныгъэ къыболъыхъуэ, ар иджыпсту нэхъ узыхуэмей дыдэращ. Зыри къыбдэIэпыкъуфынукъым, чэнджэщи къуитыфынукъым. Зыри. Зы Iэмал закъуэщ щыIэр: уи гум иплъэ. Тхэным уезыхулIэ щхьэусыгъуэр зэхэгъэкI. Уи гум и щэхупIэм къыщежьэрэ а къарур? Зызыхуэумысыж: утхэ мыхъуну къыщIэкIамэ, уилIыкIынут абы? Псом нэхъыщхьэращи, жэщ сыхьэтхэм я нэхъ щэхум зэупщIыж: сытхэн хуейуэ пIэрэ сэ? Жэуап пэж къыщыгъуэт уи гум. «НтIэ, сэ сытхэн хуейщ» жыпIэмэ, мыхьэнэшхуэ зиIэ а упщIэм апхуэдэ жэуап ептыну ухуитмэ, абы къуит Iэмалыншагъэм къыхэкIыу уи гъащIэр щIэрыщIэу къыщIэбдзэжын хуейщ. Уи гъащIэр, абы хэт дакъикъэ нэхъ къыпфIэмыIуэху дыдэхэри хэту, а тегушхуэныгъэм и дамыгъэ лъапIэ хъун хуейщ. ИтIанэ дунейм бгъэдэкIуатэ. Япэу щIым къытехьа цIыхум ещхьу, плъагъумрэ зыхэпщIэмрэ, пфIэфIымрэ упсэуху зыбгъэдомыгъэхьэнумрэ пхужыIэмэ еплъ. Лъагъуныгъэм теухуа усэ умытх: ипэм деж куэд щIауэ къэгъуэгурыкIуэ, хэти ицIыху жыпхъэхэм защыдзей. Ар псом нэхърэ нэхъ гугъущ: гъэунэхугъуэ куу ухуейщ фIы, телъыджэ куэд здэщыIэ лъэныкъуэм зыгуэр щIэуэ хэплъхьэфын щхьэкIэ. Яужэгъужам укъригъэлыну уи махуэкъэс гъащIэр уиIэщ. Тетхыхь уигу хэзыгъэщIым, уи хъуэпсапIэхэм, блэкI пэтрэ узыубыда гупсысэм, дахагъэ гуэр уи фIэщ зэрыхъум. Щэхуу, Iэсэу, куууэ, уи фIэщу тхэ. Уи гум илъыр къэIуэта хъун папщIэ, укъэзыухъуреихьхэм, пщIыхьэпIэхэм, гукъэкIыжхэм яхэплъэ. Ауэ махуэ къэс уи нэгу щIэкIыр зэшыгъуэу къыпщыхъумэ, ар плъагъум и лажьэу умыбж. Уи щхьэ гъэкъуэншэж уи махуэхэр къулей пхуэщIын хуэдэу, усакIуэм щыщу пхэлъыр зэрыримыкъумкIэ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, дахагъэ къэгъэщIыным телажьэ цIыхум и дежкIэ гъащIэ зэшыгъуи щIыпIэ фаджи щыIэкъым. Хьэпсым уису сощIри, абы щыгъуэми уи сабиигъуэр, а гукъэкIыжхэм я мылъку гъэтIылъыпIэ щIэншэр къыпхуэнэнутэкъэ? Яхэплъэ абыхэм гупсысэр уи Iэпэгъуу. А зэман кIыхьым щыщу пщыгъупщэжахэм псэ къахэгъэхьэжи зыпцIыхужынущ, уи закъуэныгъэри цIыхухэм я Iэуэлъауэр бгъэдэмыхьэу зыблэкI пшапэм хэт унэ пхуэхъунщ. Апхуэдэ щIыкIэу зыкъэбгъуэтыжа нэужь, усэ стхарэт жыпIэмэ, уигу къэкIыххэнукъым а усэхэр хъуарэ мыхъуарэ зыгуэрым уеупщIыну. АфIэкIа ухуеижынукъым уи лэжьыгъэхэмкIэ журналхэр къыдэпхьэхыну: ахэр уи лъым хэпщIауэ, уи гъащIэ налъэу, уи макъыу къыпщыхъужынущ. IэдакъэщIэкIыр фIы щыхъур абы гукIэ ухуэныкъуэу щыптхым и дежщ. Апхуэдэ къэгъэщIыкIэ хьэлэмэтым езым къретыж тхыгъэм къылъыс увыпIэр, нэгъуэщI зэхэгъэкIыпIи щыIэкъым. Аращ, зиусхьэн лъапIэ Каппус, зы чэнджэщ закъуэ фIэкIа щIозмытыфынур: уи гум иплъэ, зэгъэцIыху уи гъащIэ псынэр къызыщIэж кууупIэр. А къыщIэжыпIэм жэуап къуитынущ: утхэн хуей? КъыщIэкIынкIи хъунщ дахагъэ зэхэлъхьэным укъыхуигъэщIауэ. Арамэ, къащтэ а хьэлъэри хьы, зыми абы къыпэкIуэну саугъэт нэрылъагъумкIэ уемыупщIу. Зыгуэр зэхэзылъхьэм и псэр мамыру щытын хуейщ: е езыр зыхурикъужу, е къэхъугъэм зэрекIум къыхэкIыу. Ауэ, уи закъуэныгъэм зыхуэбгъазэу, апхуэдэу куууэ узыпхрыплъыжа нэужь, усакIуэ ухъун мурадым ухущIегъуэжынри хэлъщ: зэрыжысIащи, умытхэу упсэуфыну къыпфIэщI закъуэмэ, усакIуэ ухъуххэнукъым. ИтIани уи гум зызэрызыхуэбгъэзар лей хъунукъым. А зэманым щегъэжьауэ уи гъащIэм Iэмал имыIэу гъуэгу хэплъыхьахэмкIэ зиунэтIынущ икIи сэ сынохъуэхъу а гъуэгухэр дахэу, хьэлэлу, насыпыфIэу, жыжьэ нэсу къыщIэкIыну, жысIэфынум нэхърэ нэхъыбэкIэ сынохъуэхъу. Сыт иджыри схужыIэнур? Си гугъэмкIэ, жыIапхъэ псори къэIуэта хъуакIэщ, чэнджэщу уэстыфынур щэхурэ уи фIэщу натIэм ит гъуэгум утетынырщ. Абы зэран ущыхуэхъуфынур нэрылъагъу ехъулIэныгъэ ухущIэкъумэщ, дакъикъэхэм я нэхъ щэхум уи гущIэм узэриплъэну упщIэхэм я жэуапыр уи щIыбкIэ щекIуэкI гъащIэм къыщыплъыхъуэн щIэбдзэмэщ. Уи тхыгъэм профессор Горачек и цIэм сыщрихьэлIати си гуапэ хъуащ. А щIэныгъэлI псэ къабзэм си гум фIыщIэрэ пщIэрэ къыхуинащ апхуэдиз илъэсым ирамыхыжауэ. КхъыIэ, си гурылъхэр схулъэгъэIэсыж абы, си дежкIэ лъапIэщ абы и гулъытэри иджыри къэс сызэрыщымыгъупщэжари. Ныбжьэгъу хуэдэу сызыхэбгъэплъа усэхэр ныпхузогъэхьыж. Иджыри зэ фIыщIэ пхузощI уи гур къабзэу ахэр дзыхь къызэрысхуэпщIам папщIэ. Си фIэщу, зэрыслъэкIкIэ пэжу жэуап щIостыжар а дзыхьым хуэфащэ сыхъун щхьэкIэт, сыхуэмыфэщэнкIи хъунущ. Гуми псэми къыбгъэдэкIыу, Райнер Мария Рильке
{ "source": "adygabza.ru", "id": "kritik.txt" }
Пасэрей дзэзешэу сыщытамэ Сэ пасэрей дзэзешэу сыщытамэ, Эфиопхэми Персхэми тепщэ захуэсщIынт Фирхьэуныр тездзынт Хыуэпс ейм нэхърэ нэхъ лъагэжу си пирамидэр дэсщIеинти, сыпсэунт, Мысырым сэ нэхърэ нэхъ цIэрыIуэ имысу! Дыгъу къызэрымыкIуэу сыщытамэ, Мэнкъэур и кхъэлэгъунэр къэсхъунщIэнт Мывэ лъапIэхэр Александрийэ дэс журтхэм есщэнт ЩIырэ щхьэлрэ куэду къэсщэхунти, Мысырым сэ нэхърэ нэхъ бей имысу сыпсэунт. Нил лъапIэм зыщезыгъэтхьэлэжа Антиной срещхьу щытамэ, Си дахагъэм къысIуплъэр делэ ищIу, Сызэрыпсэууэ тхьэлъэIупIэхэр схуаухуэнти, Мысырым сэ нэхърэ нэхъ лъэщ имысу сыпсэунт. Щихъышхуэу сыщытамэ, Ахъшэу сиIэр изгъэкIынт, IэщIагъэи къулыкъуи сыхуэмеижу Хамэ хадэхэр схъумэу сежьэжынти, Мысырым сэ нэхърэ нэхъ щхьэхуит имысу сыпсэунт. Уи пщылIхэм я нэхъ мыхьэнэншэу сыщытамэ, Си гъащIэр щIыунэм щысхьынт, Илъэсым е илъэситIым зэ ЗэрымыщIэкIэ хьэпсхэм уащыблэкIкIэ Уи вакъэм тет дыщэидэр cлъагъуу, Мысырми сэ нэхърэ нэхъ насыпыфIэ исынтэкъым... 1906
{ "source": "adygabza.ru", "id": "kuzminmihail.txt" }
Къэбэрдей-Балъкъэрым газетхэр нэхъ мащIэрэ къыщыдэкIынущ Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм урысыбзэкIэ, адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ къыщыдэкI газетищыр тхьэмахуэм щэ фIэкIа трамыдзэну унафэ къащтащ. ИпэкIэ ахэр тхьэмахуэм тхуэ къыдэкIыу щытащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щылажьэ Правозащитнэ центрым и унафэщI Хьэтэжыкъуэ Валерэ зэрыжиIэмкIэ, лъэпкъ газетхэм я къыдэкIыгъуэхэр гъэмэщIэныр «лъэпкъ щэнхабзэхэм ятехуэ удынщ». Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм къыщыдэкIхэу «Кабардино-Балкарская правда» (урысыбзэкIэ къыдокI), «Адыгэ псалъэ» (адыгэбзэкIэ), «Зэман» (балъкъэрыбзэкIэ) газетхэр 2018 гъэм щегъэжьауэ тхьэмахуэм щэ фIэкIа традзэнукъым. Иджыри къэс ахэр тхьэмахуэм тхуэ къыдэкIыу щытащ. «КъыдэкIыгъуэхэм я бжыгъэр зэрыхагъэщIар редакцэхэм полиграфкомбинатым (газетхэр тхылъымпIэкIэ щытрадзэ IуэхущIапIэм) и щIыхуэ зэрателъымрэ республикэм а щIыхуэхэр зэрипшыныжын ахъшэ зэримыIэмрэ епхащ», - къыжриIащ «Кавказ узелым» и корреспондентым Правительствэм щылажьэ гуэрым. Абы зэрыжиIэмкIэ, газетхэм я къыдэкIыгъуэхэр хагъэщIами, абы редакцэхэм я лэжьакIуэ бжыгъэм хигъэщIынукъым, ахэр зэхъуэкIыныгъэншэу къэнэнущ. КъинэмыщIауэ, Правительствэм щыщ псэлъэгъуэм щыгъуазэ дищIащ газетхэр тхьэмахуэм щэ фIэкIа къыдэмыкIыныр пIалъэкIэ къащта унафэу зэрыщытым, щIыналъэм экономикэ Iуэхухэм ефIэкIуэн щыщIадзэжмэ, газетхэр къызэрыдэкIыу щыта бжыгъэм хуагъэкIуэжынущ. «Кабардино-Балкарская правда» газетым и сайтым зэритымкIэ, абы и тиражыр 4954-рэ мэхъу. Газетыр 1921 гъэ лъандэрэ къыдокI. Редактор нэхъыщхьэр – Болэт Арсенщ. АдыгэбзэкIэ къыдэкI, щIышылэм и 11-м традза «Адыгэ псалъэ» газетым зэрытетымкIэ, абы и бжыгъэр зэрыхъур 2103-щ. Газетыр 1921 гъэ лъандэрэ къыдокI. БалъкъэрыбзэкIэ къыдэкI «Зэман» газетым и сайтым зэритымкIэ, абы и бжыгъэр зэрыхъур 1550-щ. Редактор нэхъыщхьэр Аттаев Жэмалщ. Газетхэр нэхъ мащIэрэ къызэрыдэкIынум къыхэкIыу гонорархэми (тхыгъэм къыпэкIуэ ахъшэр) хэщIынкIи зэрыхъунум редакцэхэм щылажьэхэр егъэгузавэ. «Сэ улахуэу сом мини 7 къэсхьу аращ. Гонорарыр хэту мазэм сом мин 15-рэ ныкъуэрэ къысхуокI. Гонорарыр хэмытмэ, кIэпIейкIэ бжыгъэ щхьэкIэ дылэжьэну аращ», - къыджиIащ газетхэм язым щылажьэ бзылъхугъэ гуэрым. Къэбэрдей-Балъкъэрым щылажьэ Правозащитнэ центрым и унафэщI Хьэтэжыкъуэ Валерэ зэрилъытэмкIэ, лъэпкъ газетхэм я къыдэкIыгъуэр гъэмэщIэныр лъэпкъ щэнхабзэхэм ятехуэ удынщ. «Лъэпкъ газетхэр лъэпкъыбзэхэр щылажьэ губгъуэ цIыкIущ. Абыхэм я бжыгъэр хэбгъэщIмэ, бзэр къыщысэбэп дунейр нэхъри нэхъ зэвыж хъунущ», - къыхигъэщащ абы. Хьэтэжыкъуэм зэрыжиIэмкIэ, иужьрей илъэсхэм еджапIэхэми лъэпкъыбзэм хухаха сыхьэтхэр щагъэмащIэ, иджы лъэпкъ газетхэм я къыдэкIыгъуэхэр зэрыхагъэщIри а Iуэхум къыхэхьащ. Фигу къэдгъэкIыжынщ, 2017 гъэм и дыгъэгъазэм Къэбэрдей-Балъкъэр университетым адыгэбзэмрэ литературэмрэ езыгъаджэхэм папщIэ научно-практическэ семинар зэрыщекIуэкIар. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуат анэдэлъхубзэм хухаха сыхьэт бжыгъэр еджапIэхэр зэрыщагъэмащIэр. «Анэдэлъхубзэхэр щхьэж и гукъыдэжкIэ иджу аращ иджыпсту щыIэ Iуэху бгъэдэхьэкIэмкIэ, - къыпещэ Хьэтэжыкъуэм. - ЕджапIэхэм адэ-анэхэр щызэхуашэсурэ, «анэдэлъхубзэм дыхуейкъым» жыфIэ къыщыжраIэ. Ар бдэ мыхъуххэн Iуэхущ». «Къэбэрдей-Балъкъэрыр «адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ лъэпкъ щхьэхуэу зэрыщытыр къагъэлъэгъуэну щыхуит щIыналъэщ», - жеIэ адэкIэ Валерэ. – Къыхэзгъэщыну сыхуейщ республикэм ис цIыху псори хуитыныгъэкIэ зэрызэхуэдэр. Ауэ мыр къэралыгъуэм щыщ щIыпIэщ, адыгэхэми балъкъэрхэми я лъэпкъ-щэнхабзэ гукъыдэжхэр, абы бзэр хъумэн Iуэхури хэту, дагъэкIыну щыхуиту». Маратовэ Людмилэ, «Кавказ узел»
{ "source": "adygabza.ru", "id": "lapqgazet.txt" }
ГуфIэгъуэ нэхъ нэщхъей дыдэр Гранадэм километри 8-кIэ фIэкI пэмыжыжьэ Виснар къуажэм и гъунэгъуу 1936 гъэм щаукIащ Испанием и усакIуэшхуэ дыдэ Федерикэ Гарсиа Лоркэ. Пушкин хуэдэ нэгъуэщI усакIуэ щэджащэхэми ещхьу, испан усакIуэри гъащIэ кIэщIт. Лоркэ къыщалъхуар Испаниер къыщытIэсхъа, и колониехэри щыфIэкIуэда лъэхъэнэрт. Федерикэ Гарсиа Лоркэ 1898 гъэм мэкъуауэгъуэм и 5-м Гранадэм пэмыжыжьэу Фуэнте Вакерос (испаныбзэкIэ «Iэхъуэ IункIыбзэ») жыхуиIэ андалуз къуажэм къыщалъхуащ. НыбжьыщIэр къэзыухъуреихьхэр, уафэр, Iэхъуэхэр, цIыху куэд щызэхэземыкIуэ губгъуэхэр арат. И дзыхь псоми езыгъэз фIэщхъугъуафIэ, зи щхьэ хущымытыжыф, политикэ Iуэхухэм зыри хэзымыщIыкI сабиигъуэр нэхъыбэу зыхэпсэукIыр езым и нэкъыфIэщIхэм къыщигъэщI гупсысэхэрт. УсакIуэм и ныбжьэгъуу щытахэм зэраIуэтэжамкIэ, Лоркэ и усэхэр тригъэдзэну пIащIэртэкъым, абы и щхьэусыгъуэри: тхылъ напэкIуэцIым щынэсам деж усэм и псэр щIэкI хуэдэу къызэрилъытэрт. Ауэ фIэфIт и усэхэм къеджэну, къыщелъэIухэм дежи и гуапэу цIыхухэм къахуеджэрт. Апхуэдэ дыдэуи фIэфIт и усэхэр зыгуэрхэм яритыну, уеблэмэ ахэр зытетха тхылъымпIэ кIапи езым къызыхуимыгъэнэжу. Нэхъыбэхэм деж зэрыхабзэу, прозаикхэм я литературэ лэжьыгъэр усэкIэ къыщIадзэ. Лоркэ усакIуэ хъуным къызэрыщIидзар прозэкIэщ. «Къызэрысщыхъуахэмрэ дунейм и плъыфэхэмрэ» зыфIища, гъуэгуанэ тхыгъэхэр зэрыт тхылъ цIыкIум щызэхуэхьэсат Испаниер къыщызэхикIухьым илъэгъуахэмрэ ахэр къызэрыщыхъуамрэ къыщиIуэта тхыгъэхэр. Тхылъыр япэ щIыкIэ Гранадэм 1918 гъэм, иужькIэ 1921 гъэм и гъатхэм Мадрид къыщыдэкIащ. А зэманым усакIуэр Студент Резиденцэм и университет щхьэхуит жыхуаIэм щыпсэурт. А лъэхъэнэрщ Лоркэ и зэфIэкIым драматургиеими щеплъыжар: къехъулIакъым «Хьэндрабгъуэм и удыгъэр» пьесэр. Пьесэр къемыхъулIами, абы хэплъагъуэрт усыгъэм и къаруушхуэ зэрыхэгъэпщкIуар. А гъэ дыдэм Лоркэ къыдигъэкIащ и япэ «Усэ тхылъыр». ИужькIэ къыкIэлъыкIуащ «Канте хондо поэмэ» (1921), «Уэрэдхэр» (1921-1924) тхылъхэр. Абыхэм IупщIу къахэIукIырт усакIуэм езым и макъ лъэщ зэриIэжыр. Езым и макърэ хъэтIрэ зэфIигъэувэжынымкIэ Лоркэ сэбэ къыхуэхъуащ музыкэр. Музыкэр Лоркэ и гъащIэм прозэми усэми япэжкIэ хыхьауэ ялъытэ. Лоркэ и псалъэр ныкъуэжыIэу зэпыудащ. УсакIуэр хунэсакъым итха псори къыдигъэкIыну. Дуней псом щикъухьащ Лоркэ итхауэ щыта письмохэр. Письмохэм абы куэдрэ дилъхьэрт и тхылъхэм хэмыхуа Iэрытххэр... «Лъагъуныгъэ кIыфIым и сонетхэр» тхылъыр кIуэдауэ ялъытэрт. Езы усакIуэр ямыукI щIыкIэ жиIэгъащ а тхылъым сонетищэ зэритынур. Сонетхэм ящыщ зым мыпхуэдэу щыжыIащ: «ГуфIэгъуэ нэхъ нэщхъей дыдэр – усакIуэу ущытынырщ. Адрейхэр зыми щыщкъым. Уеблэмэ, ажалри». Уэрэзей Афлик Щэхухэр щыгъэпщкIуа псэхэр... ЩыIэщ псэхэр, щыгъэпщкIуауэ щэхухэр: Пшэплъ ужьыхыжахэр, Вагъуэ щIыхухэр, Зэманым тхьэмпэ къыпыхуахэр; ЩыIэхэщ нэгъуэщI псэхэри, Щыпсэухэу: ГурыщIэ гуащIэхэр, ХьэпIацIэуахуэхэу Хэлъу пхъэщхьэмыщхьэм. Дунейр уэлбанэу къызэIыхьэм КъыхоIукI Джэрпэджэжым и макъ яукIауэ, Бари гызри IэщIэгъупщыкIауэ Ежэхащ, лъагъуэр фIыцIэу КъызэринэкIыу. Куэд щIащ си псэр Зэримытыжрэ балигъыпIэм, Щэху зэхэтхъуахэм я гупсысэм ИгъэбампIэу. Iэджэ щIауэ ещIэ си балигъыпсэм Щэху зэIумыбзхэм зэрагъэхыщIэр си гупсысэр. ЩIалэгъуэм игъэва бэлыхьхэр Мывэ зырызурэ къытохуэжри гущхьэм, Мывэ къэсыхукIэ мыр кърелъхьэ си щхьэм: ИкъукIэ упэжыжьэщ уэ Алыхьым. Гъатхэ уэрэд 1 ЦIыкIухэр нэжэгужэу, зэрызехьэу ЕджапIэм къызэрыщIохыжыр. Я макъ жьгърухэр и хьэуам хишыхьу, Мэлыжьыхь мазэр абы къаподжэжыр. Мэ щIэщыгъуэ дахэкIэ уетхьэкъур Мы пщыхьэщхьэм! ЦIыкIухэм щIэдэIу, уэрамри мэщхьэукъуэ, Макъ нэжэгужэм пщIыхьыфI къыщхьэщихьэу. 2 КъыщызокIухьыр пщыхьэщхьэм Жыг хадэ гъэгъакIэ къэтIэпIым. Нэщхъеягъуэу гухэщI къысхуэзыхьыр Къыщызгъэнагъэнущ зыщIыпIэ. Зэманыр ящыгъупщэжауэ Кхъэжьым щIэлъ щхьэкъупщхьэхэм, ЩхъуантIагъэм щIыр исеижащи, Уэру гъэгъар ящхьэщогъуалъхьэ. ШыкIуртIымщэхур Сабэм егъэтхьэхур. Удз щхъуантIэр Щыуфафэ тафэм Топлъызэ щхьэкъупщхьэм Я нэщIащэ нэфхэр. Уи берычэтым ущымысхьу Мэлыжьыхьым псыи вагъуи къытхубохьыр. Мы дунеишхуэм и нэ кугъуэм ЩызэщIэгъанэ дыщэ абгъуэр! Щхьэмыжхэр И пIалъэр къэсакIэщи щхьэмыжым, IэкIуэлъакIуэу ар къехыжыр гъубжэм. МащIэу и щхьэр игъэщхъауэ, щихур Акъужьым йоIущащэ щэхуу. Зы закъуэщ щхьэмыжыр иджыпсту зыхуейр: Тыншыгъуэ къезытын даущыншагъэщ, Япсыхьащи ар и бзийхэм дыгъэм, ХъуэпсапIэ къэушахэмкIэ доплъей. ирагъэшауэ Iэуэлъауэм, нэхум, Къурш щхъуантIэхэм я щIыб дохьэжыр махуэр. Сыту пIэрэ апхуэдизу, и налъэ къэсыхун къызэщIигъаплъэу, Щхьэмыжыр гупсысэ хэзыгъаплъэр? Хэт и макъамэ, къыхэIукIыу нэщхъеягъуэр, Пшыналъэ хьэлъэу щхьэщыгъуалъхьэр губгъуэм?.. Бзу ешахэм ещхьщи, щхьэмыжхэм ЯлъэкIыркъым заIэту лъэтэжыну. Дыщэм къыхагъэжыкIа гулъу ПIейтеиншэщ и нэгу узыIуплъэр. Аргуэрыжьщи, и лъэдийр иухуэу, Йогупсысыр мы дунейм и щэхум. И телъэ дыщафэу узыIуплъэр Щхьэмыжым къыхихащ щIыгулъым, Дыгъэм и бзийхэр, бжьэ къэпщIауэ КъытепщIэрапщIэу, хуабэкIэ ягъэнщIыу. Нэщхъей дэрэжэгъуэкIэ сывгъэнщIу, Щхьэмыжхэ, фыкъыдохьэхэр сигу лъащIэм! ФыкъыпхыкIыжри пасэрей зэманым, Фи макъыр щывгъэIуащ КъурIэным; ЗэщIэжьууэу фогъэIур пшыналъэр, Щымагъ жыжьэхэм я Iэр къывдалъэм. Я ныбэ изу цIыхухэр вгъэшхэн щхьэкIэщ, Зыми фемыблэжу фыкъыщIэкIыр. КъигъэкIыну химысами зыми, Хьэкъыршри губгъуэм щокI езыр-езыру. Фыхуэдэщ гъэрыпIэм ис дыщэ гъэжам, Мэзым къыщокI гъэгъа узыгъэжейр. Дунейм къытохьэри, щхьэмыжыр, ЦIыхур псэун щхьэ езыр йохыжыр. Губгъуэ Яжьафэщ уафэм и теплъэр, Жыгхэм – хужьу уаIуоплъэр. Ягъэсщ - пагъэкIри гъащIэм, ФIыцIабзэу къэнащ фIамыщIыр. Тегъуэжауэ уIэгъэм лъыр, Хохьэжыр жэщым пшэкIэплъыр. ТхылъымпIэ плъыфэншэу ЯушкIумпIыжащ къурш тхышэр. Гъуэгу напщIэхэм, КъуэкIий куухэм я лъащIэхэм ЗыщагъэпщкIур сахуафэ сабэхэм. Псыежэх цIыкIухэр мэутхъуэ, ПIейтейуэ мэжей архъуанэр, Жэмым пщIэхэлъ уэзджынэр Мэзу темыгушхуэу, шынэу. Псынэми и шкIурэ макъыр Мэужьыхри, щыму мэдыкъыр. Яжьафэщ уафэм и теплъэр, Жыгхэм хужьу уаIуоплъэр. Жыгхэр Жыгхэ, ФыкъыщIэхури уафэм и лъащIэм, Шабзэшэ абрагъуэу фыкъытехуахэщ щIым. Хэт шабзэшэхэр къезыдзыхыр шынагъуэу? Я Iэужьу пIэрэ ахэр вагъуэм? Фи макъамэм щоушэ бзухэм я псэр, Алыхьыр къыфхуоплъыхыр, фрищIасэу, КIыщым щIэт шэдыбжьри фхуоусэ. Жыгхэ! Сигу мы щIылъэм щыпсэур КъацIыхуфыну фи къуэпсхэм? Налкъутналмэс Вагъуэ папцIэм, налкъутналмэс къыпфIэщIу, ХъуаскIэр пылъэлъу пхесыкI уафэ лъащIэр, Бзу щаIыгъар гъэру нэгъуэщI дуней, Хуит къэхъужу къэлъэтэжа нэхъей. Хуитыныгъэм щIэхъуэпсрэ щыгъуэу, Епхауэ зэрыса абгъуэ абрагъуэм КъикIыжауэ, къыпэщIэхуэмкIэ егъэшыр, КъыгурымыIуэу быдэу зэрепхар ар хьэршым. НэгъуэщI дунейхэм я щакIуэхэр Хьэршым щызокIуэ ещакIуэхэу Даущыншагъэм, нэхум я гуэл щхьэфэхэм Щхьэхуиту тесыкI къыу дыщафэхэм. Щиху жыгыщIэхэр макъкIэ ину Алыфбийм къызэдоджэхэр. Итрыгъум нэса щиху жыгыжьырщ, И къудамэхэр дэсысу акъужьым, ЖыгыщIэхэр езыгъаджэр. Иджы бгы лъагэ жыжьэ задэм КIэн щыджэгу хъунщ хьэдэхэр: Яхуэмыхьыжу, зэшу Iуэхуншэу хэлъыну хьэршым! Хьэндыркъуакъуэ, къыхэдзэ уэрэдыр! НэщIэпкIэ, къытехьэ дунейм! Даущыншагъэр зэпывуду, Хуиту къэвгъаджэ фи бжьамийр! Унэм сыкIуэжу сытохьэжыр гъуэгум, Зыгуэрым щхьэкIэ мэгузасэ си гур. Си бзу цIыкIухэр щIэпIейтей мы си псэр шынэу. ЩIэплъыпIэм жыжьэу уафэ джабэм и псыкъуийм ЙотIысхьэжыр махуэ нэхум и гуэгуэныр! Дыгъэр къухьэжащ 1920 гъэм и шыщхьэIу) Дыгъэр къухьэжащ. Жыгхэр Сыну нэщхъейуэ зэхэтхэщ. Хьэжэн иухыу къэувыIэжа щхьэл шэрхъ Iуэхуншэу, Хьэсэхэм захузыр даущыншэу! Гузэгъэгъуэ зимыIэжыр Нэхущвагъуэрщ. Къилъэгъуа пфIэщIынущ мыIэрысэ, Зэи зым и ба лъэмыIэсауэ. Гъэмахуэку дахэм и Пегасу Аргъуейм къыщелъэтыхь уэсэпсым. Мазэгъуэм уэру кърикIут бзийр Пенелопэ зэIуища дарийщ. «Жей, Дыгъужьым сыкъеджэну ухуэмейм!» Мэл анэм Щынэр егъэшынэ. «Иджыри куэдрэ къимыхьэу, Дежьэн хуейуэ пIэрэ бжьыхьэм?»- Гъэгъа хуэлэжыр щхьэхынэу мэхущхьэ. Мыгувэу, дыгъэр къуршым зэрыщхьэдэхыу Къыдыхьэжынущ Iэщыхъуэхэр. ЦIыкIухэм щIадзэнущ бжэIупэм щыджэгуу, Лъагъуныгъэм и уэрэд нэщхъейуэ къинэжахэр я гум Блыныжьхэм къыхадзэнущ нэсу уэгум. КъэгъэшыпIэм Сыхуейщ згъэзэжыну сабиигъуэм, Сабиигъуэм адэкIэ - пшагъуэщ. Сэлам зэтхыжын, бзуущхъуэ? Узыншэу! Си ужьыр махуэ пхухъу!.. Сэ сыхыхьэжынщ кIыфIыгъэм, Удзыр щыгъагъэм сынэсын си гугъэу. Сэлам зэтхыжын, мэ гуакIуэ? НэпIащэ... Укъыхихыну жэщ удзым и гъэгъам, АдэкIэ, адэкIэ уихьэнщ псэм и лъащIэм. Узыншэу, лъагъуныгъэ! КъохъулIэну уиIэ псори гугъэу! (Къохъуэхъур си гур, хыхьэжурэ кIыфIыгъэм...) Мазэм ириздзыфам арат куэзыр Жэщ даущыншэм и уафэм КъызэритIысхьэу мазэгъуэр, Мазэ нурыпс ирафыну КъыщызэхуэскIэ вагъуэр. Тхьэмпэ нэбэнэушэхэм Щхьэр щыхуагъэщхъкIэ жэщ лъагъуэм, Уи цIэр къызоIуэ къытезгъэзэжурэ. Апхуэдэ меданми зыкъысщохъужыр Макърэ узу зэхэлъ купщIэншэ гуэру, ГъэрыпIэм сису жысIэу уэрэдыр. КIыфI даущыншэм уи цIэр хызоIуэ ИкIи къоIужыр ар спэжыжьэIуэу. НэгъуэщI зыщIыпIи зэгуэрым апхуэдэ ЩыIуауэ жысIэну си гум имыдэ. Ар нэхъ жыжьэжщ вагъуэ пхыдзам нэхърэ, Уэшх еша къыпфIэщIыну нэщхъейуэ. Услъагъужыну пIэрэ фIыуэ зэгуэрым, Ещхьу зэгуэрым сщIыфа лъагъуныгъэм? Имытыжмэ уи лъагъуэныгъэм и Iэмырым, Ар мы си гум сыткIэ и къуаншагъэ? ЗэкIэщIихужмэ мы пшагъуэ хъарпшэрыр, Зиукъэбзыжыну пIэрэ дунейм нуру? СщIэркъым. Епэр тхьэмпэу къыпызмычу зыри, Мазэм ириздзыфам арат куэзыр! ЗэзыдзэкIар Уэрэзей Афликщ
{ "source": "adygabza.ru", "id": "lork-federiko-garsia.txt" }
ЛъэхъэнэщIэм и щIэдзапIэ Венгрием и усакIуэшхуэ Петёфи Шандор (и унэцIэ дыдэр Петровичщ) Венгрием и губгъуэ тафэм тес къуажэ цIыкIухэм ящыщ зым, Кишкереш, 1823 гъэм щIышылэм и 1-м къыщалъхуащ, и хэкум и щхьэхуитыныгъэм щIэзэууэ, Шегешвар къалэм пэмыжыжьэу 1849 гъэм бадзэуэгъуэм и 31-м щыхэкIуэдащ. Зэрытлъагъущи, мащIэ дыдэщ усакIуэм къигъэщIар. Петёфи япэ усэр къытрадзащ 1842 гъэм. Илъэс тIощIрэ хырэ фIэка мыпсэуа усакIуэм къыщIэнауэ ди зэманым къэсащ усэ 850- м щIигъу. КъищынэмыщIауэ Петёфи и Iэдакъэ къыщIэкIащ рассказищ, зы роман, драмэу тIу (зыр езым игъэсыжауэ щытащ). А псоми къадэкIуэу, ахъшэ къилэжьын мурадкIэ венгрыбзэкIэ зэридзэкIащ Шекспир и «Кориолан» трагедиер, нэгъуэщI къэрал тхакIуэхэм я повестрэ романхэу зыбжанэ. УсакIуэм къыщIэнащ политикэм ехьэлIа и тхыгъэ зыбжанэ, дневникхэр, гъуэгуанэ очеркхэр, письмо щищым щIигъу. Лы щапIэ тыкуэн цIыкIу зиIэ мэкъумэшыщIэ хуэщIам и унагъуэм къыщалъхуа Петефи къэралым и къалэ, къуажэ зэмылIэужьыгъуэхэм щеджащ. УсакIуэм и ныбжьыр илъэс епщыкIуиянэм итт Шелмец къалэм дэт еджапIэм тхыдэмкIэ экзаменыр щыхуэмыту къыщыпихам. А зэманым ирихьэлIэу сатум хэхъуэ къыхуимыхьыжу къулейсыз хъуа адэми щIалэм зэрызыщIигъэкъуэн мылъку бгъэдэлъыжтэкъым. Петёфи псори къигъанэщ, Будапешт кIуэри, театр Iуэхум зритын мурадкIэ, лъэпкъ театрым статисту щылэжьэну уващ. ИужькIэ ар щытащ сэлэтуи, аргуэру гимназистуи. Щысэлэта зэманым ехьэлIауэ Петёфи и гукъэкIыжхэр нэхъ зэпхар Шопрон къалэрщ, щеджа лъэхъэнэм – Папа къалэрщ. Актерхэм я гъусэу абы куэд къызэхикIухьащ икIи фIыуэ къицIыхуащ Кечкемет, Пешт къалэхэр, Венгрием и къуажэ Iэджи. ГъащIэ гугъут усакIуэм къыпэщылъыр. Уеблэмэ мыпхуэди игъэунэхугъащ - 1843 гъэм и щIымахуэр Дебрецен щрихащ, гъэсын зэримыIэм къыхэкIыу пэш щIыIэм щIэсу. А зэманым ехьэлIауэ езы усакIуэм итхыжыгъащ: «АпхуэдизкIэ хэкIыпIэншэ сыхъуати, Iэмалыншагъэм сытригъэгушхуэщ, «лIэн е лIын», жысIэщ, Венгрием и цIыху нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм ящыщ зым деж сыкIуэри, си усэхэр езгъэлъэгъуащ икIи абы и чэнджэщкIэ «Кружокым» сыкъыдигъэкIащ; Арати, ахъшэ къысIэрыхьащ, куэдми сыкъацIыхуащ». Петёфи и гъащIэм зыкъызэридзэкIыжари, абы теухуауэ езым итхыжари таурыхъым ещхьщ. «Венгрием и цIыху нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм ящыщ зыр» венгр усыгъэм и классик Верешмарт Михаилт. Петефи и усэхэр къыдэзыгъэкIа «Кружокыр» къэралым и цIыху пэрытхэм я зэгухьэныгъэт. Апхуэдэ щIыкIэкIэ усакIуэм и гъащIэм фIыуэ зыкъызэридзэкIащ. Петефи и усыгъэм дихьэххэр куэд хъуащ, езыми ныбжьэгъу куэд игъуэтащ. 1844 гъэм бадзэуэгъуэм и 1-м щыщIэдзауэ ар «Пешти диватлап» журнал цIэрыIуэм и редакторым и къуэдзэу ягъэув. Ауэ и къару псори тхэным ирихьэлIэн мурадкIэ, илъэсым и кIэм а лэжьапIэм къыIуокIыж. А лъэхъэнэм феодал Венгрием щыIа щытыкIэм тепщIыхьмэ, ар тегушхуэныгъэшхуэ зыхэлъ Iуэхут. Литературэм щытепсэлъыхь дэтхэнэ зэхуэсми псоми я гулъытэр зыхуагъазэу щытар Петефи арауэ пхужыIэнущ. Тутын Iугъуэм икуда пэш Iэзэвлъэзэвым щIэсу тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ Венрием и къэкIуэным тепсэлъыхьт. ТхакIуэ ныбжьыщIэхэр нэхъ щызэхуэзэр «Пиллвакс» каферт. Мыбы щызэхуэст тхакIуэ цIэрыIуэхэр: Петефи, Венгрием и романист нэхъ лъэщ дыдэ, Петефи и ныбжьэгъуфI Мор Йокаи, апхуэдэуи Пак, Паллфи, Берци Карой сымэ. И литературэ ехъулIэныгъэхэм къадэкIуэу, Петёфи «лъагъуныгъэ зауэми» текIуэныгъэфI къыщихьащ. I846 гъэм и фокIадэм усакIуэм зригъэцIыхуащ Сендрей Юлия, граф Каройн и щIыналъэхэм я управляющэм и пхъур. Хъыджэбзым и адэр икъукIэ ткIийт, хьэл IуэнтIат, а псом я щIыIужкIи, Петёфи Шандор теплъэнкIэ Iэмал иIэтэкъым. Дауэрэ хъуами, а мазэ дыдэм ныбжьыщIэхэр зэрышащ икIи усакIуэм зыхищIащ хьэрэмыгъэншэ лъагъуныгъэшхуэм и гурыщIэр зыхуэдэр. УсакIуэр сыт щыгъуи хэтт къэралым щекIуэкI Iуэхугъуэшхуэхэм, ауэ литературэ лэжьыгъэри игъэтIылътэкъым. Псалъэм папщIэ, 1848 гъэм Елашич и дзэхэм Венгрием и къалащхьэр яубыдынкIэ шынагъуэ къыщыкъуэкIами Петефи творчествэр IэщIыб ищIакъым, а зэманыращ усакIуэм «Апостол» поэмэр щитхар. Щхьэхуитыныгъэ къритыну, и финанс, зауэ Iуэхухэм езым унафэ трищIыхьыжыну хуит къищIыну 1848 гъэм и фокIадэм Венгриер Австрием зэрелъэIуар къыщыхуимыщIэм, Венгрием и Лъэпкъ собранэм цIыхубэм захуигъэзащ зыкъаIэту Габсбургхэ я залымыгъэм кIэ иратыну. Лъэпкъыр щыIэн-щымыIэныр щызыхэкI, лъахэр биидзэм къыщиухъуреихьа а лъэхъэнэ гугъум Петефи и усэхэр зыхуэлэжьар цIыхубэр бэнэныгъэм хузэщIэIэтэнырщ. Абы и щыхьэтщ «Дядя Петер», «Секеи» тхыгъэхэр. Мыбдеж Петефи аргуэру зыхуегъэзэж уэрэд тхыным икIи гурыщIэр къызэщIиIэтэрэ тегушхуэныгъэкIэ гъэнщIауэ зауэ уэрэд зыбжанэ етх. Усэ тхынри IэщIыб ищIакъым, ауэ мы лъэхъэнэм итха усэхэм гуауэрэ нэпсымрэ йобэкI. Ар тотхыхь унагъуэм, лъагъуныгъэм. И лъахэр зэрытелъыджэр къыщиIуатэ усэхэм къыпфIагъэщI усакIуэм ар иужь дыдэу щилъагъуж меданым итха хуэдэу. Урыс пащтыхьым и дзэхэм пэщIэт венгр революционнэ армэм хэту зауэурэ, Петёфи Шандор 1849 гъэм бадзэуэгъуэм и 31-м Шегервар деж къыщаукIащ. Петёфи Шандор и творчествэр щытащ зыужьыныгъэм и лъэхъэнэщIэм хыхьэ венгр лъэпкъ усыгъэм и щIэдзапIэу. Уэрэзей Афлик Си лъахэм Щхьэмыж дыщафэм и толъкъун губгъуэр, ПшэкIэплъыр егъэпщтыр гъэмахуэ уэгъум. Сурэт зэмыфэгъукIэ пшагъуэр зэхецIалэ! Къызэплъ - къыпхуэцIыхужыркъэ уи щIалэр! Мо щиху щэхухэм сыщIэсащ я жьауэм, СакIэлъыплъу уэгум ихьэжауэ, КIапсэлъэрышэу кърур уафэ джабэм ЗэрытесыкIым, кIуэуэ щIыпIэ хуабэм. А пщэдджыжьым сыдэкIырт адэжь жьэгум, Сэламехыжым пихузыкIыу си гур. Анэ гумащIэм къызжиIа «Гъуэгу махуэр!» Гъуэжькуийм сIэпихыжащ, къыфIэмыIуэхуу. Илъэс илъэсым къигъэщIыжу, Зэманыр кIуэрт къэмыувыIэжу. Насып фэзэхъуэкI хьэмкIэшыгум Сызэридзэу къызэхэскIухьащ мы дуней гъуэгур. ГъащIэм и дерс гугъу Тхьэм схуигъэнэхум Къытезнащ пщIэнтIэпсу къыспхихур. Зэм а гъуэгур быркъуэшыркъуэт, зэми джафэт, Бэлыхьищэр дих зэпыту си фэм. ГуфIэгъуэм гуауэр и Iэдэжу, Сэ згъэунэхуащ ар, зыми хуэмыдэжу. Гъуэгу кумблъэмбхэм ифыхьа шэдыпсым Ефэрт, хэкIыпIэншэ хъуауэ си псэр. А илъэсхэм я нэщхъеягъуи, я бэлыхьи Иджы си гугъэщ кIуэдыжыну пщIыхьу. Къэсхьэсыжащи си жьэгупащхьэм си псэр, Илъэсыжынущ псори насып нэпсым. Нэхъ щIылъэ IэфIи тебгъуэтэн дунейм, Анэм гущэм щрипIыкIам сабийр? И дыгъэрщ сыщалъхуа щIыналъэм Зи бзийхэр гуапэу си щхьэм къыдэзылъэр. Дыгъужьхэм я уэршэр «Ныбжьэгъу, лъы защIэщ уи дзапэфIани, уи Iупи, Ушхащ уэ, дэ къреIуэнтIыкI ди ныбэр. Гъуэжькуийм жьыбгъэ табынхэр ехур. Щысхьыжкъым щIыIэм, ткIийщ щIымахуэр. Лъэужьи телъкъым уэс мыпкIам, Дэнэ уи насыпыр къыщикIар?» ЙоупщI апхудэу дыгъужь гупыр Къахыхьэжа къудейм ныжэбэ. И ныбэ изти, дыгъужь къэкIуэжам ГуфIэжу къэхъуа псор иIуэтэжащ: Зы пщыIэ итщи мо уэс губгъуэм, Щопсэу мэлыхъуэ, и фызыр щIыгъуу. ПщыIэ щIыбагъым къыдэтщ чэт, Мэл бэгъуэжахэр изу иту. Мэлыхъуэ пщыIэм и хъуреягъым, дыхэту уэсым КъыщыткIухьащ жэщ псом лIы гуэрым сэрэ. СещакIуэрт сэ зы мэл щыфIэзбзыным, ЛIыр зыкIэлъыплъыр мэлыхъуэм и фызырт. Жэщыр икIащ зы мэл къысIэрымыхьэу, Щымыхъужым, фIэсхащ сэ а лIым и щхьэр. Си къэшэныр ШыIи сиIэжкъым зы тIэкIунитIэ: Дапщэщ си куэщIым КъыщитIысхьэнур нысащIэ, Мы гъащIэм къысхуищIар сэ натIэ? Хэт ар, сыт хуэдэ гъусэ Къыхуэхъунур сыпсэухукIэ си псэм? Аращ, гурыгъузым сису, Жэщи махуи сзыщIэгупсысыр. Щхьэцыгъуэ,е щхьэц фIыцIэ вындым ещхьу, ПIырыпI, е псынщIэ, жьым зэрихьэу, Нэкъарэ, нащхъуэ, нэкъуэлэн, И нитIыр зэщхьыр къысхуэщIэн? Нащхъуэщ, жыпIа? Арам телъыджэщ! Нэ фIыцIэ? Ари мыигъуэджэ! А псом я щIыгъужу лъагъугъуафIэм, Дызэдэхъунущ насыпыфIэ... Ди Тхьэшхуэ, схуэщI апхуэдэр натIэ, ИрепIырыпI, е ирелантIэ, Ирехъу щхьэц фIыцIэу е щхьэцыгъуэу, Мыхьэнэ ямыIэ щIагъуэу! Жыжьэ сыщыIэу Дунай Iуфэ Iут унэ къызэрыгуэкI, Си гум имыху, си пщIыхьхэми хэмыкI. Си гум къридзэхукIэ Дунай Iуфэ, Нэпс пщтырхэм си нэхэр яуфэ! Си гукъэкIыжхэм здахьыжым псэр Щисхам арат си гъащIэ псор. ЗэрыспэIэщIэу уафэм и гъунэр... Сапэжыжьэщ а унэм, си анэм! Сэламехыжу анэм ба щыхуэсщIым, Гурыгъуз мафIэр абы и гум щызэхищIэрт. Бэлыхьхэм, гуауэм я мафIэсыр ХуэгъэукIыфIыжыртэкъым нэпсым. КъитIэсэгъатэмэ анэм и гуащIэм, СызэриутIыпщын щыIауэ сымыщIэ. Сэри зысщIынтэкъым унэм пэIэщIэ, СщIэгъамэ къыспигъаплъэр гъащIэм. НэхущвагъуэкIэ дреджэр гъащIэм гъуэгум, Жэнэт хадэм хуигъэушэу ди гур. ЗэманыфI дэкIауэщ псэм къыщищIэр И задагъэр и гъуэгум гъащIэм. Пщэдджыжь дыгъэпсым и пшэкIэплъым ХъуэпсапIэ Iэджэм сахигъаплъэрт... Сыт иджы а псор гум къэбгъэкIыжкIи, Гъуэгу бвркъуэшыркъуэм сызэхиукIакIэу. Ныбжьэгъухэ, фэ си лъахэм фыхуэпIащIэ, Сэлам схуэфхьыж, си анэм фыхуэхьэщIэ! ФыблэмыкI псы Iуфэм Iут ди унэм, ФыщIыхьи, щхьэщэ схухуэфщIыж си анэм. Нэпс щIимыгъэкIынуи фысхуелъэIу, ЖефIэ, и къуэр хэмыту бэIутIэIу... Си псэм телъ бэлыхьхэр къищIэм, Хуэхьыххэнукъым тхьэмыщкIэм игу пIащIэм. ХъуэпсапIэ Ныбжьэгъу Петефи,мыр зэгъащIэ – Сэ сышынэркъым зы мащIи, Зи хьэлъагъыр пхуэмыIэт насыпкIэ Зэгуэрым гъащIэр уэ къыпхуэупсэнкIэ! Къуитащ насыпым зы пшыналъэ пщалъэ, ШыкIэпшынэ налъэурэ Iэ дэплъэу КъебгъэгъэщIыну усэу зэхэлъ псалъэ. Лъахэ телъыджэм и щIыналъэм КъипсэлъыкIатэмэ хур пщащэ: «КъызжеIэт, щауэ, а дунейм Сыт ущиIэну нэхъ ухуейт? Сэ нобэ куэду сыжумарту Пшыналъэ зэмыфэгъукIэ сотэр... КъызжеIэт, сыт нэхъ узэпщIыхьу УзыщIэхъуэпсыр насып Iыхьэу. УиIэным щIыхь хуэпабгъэм уи псэр, Усэ зэхэплъхьэхэм щытхъупсыр Кърагъэжэхыу усIэтынщи, Къэнэнщ Петраркэ зым щымыщу! Петефи Петраркэ хуэхъунщ къуэши, Я усэхэм щытхъу къыхуагъэшыр Лъысыжу хэти къилэжь Iыхьэр, Езым ягуэшыжынщ я щIыхьыр! Ухуеймэ мылъку, е къулеигъэ, Усэ сатырхэр налкъут щыгъэу Пхузэрысхъэнщ, уи щIыIухэр дыщэу ИзгъэжыкIынщи, псэу зэрыпхуэфащэу!» АтIэ, иджыри сыт ущIэнэщхъейр, ЩIэузыр уи псэр, нэхъ зыхуейр? ПхущIэхъумэнукъым, ныбжьэгъу УзыгъэхыщIэр, ар солъагъу! Уи пIэситам жысIэнт: «Налкъутыр телъыджэщ, ЩIыхьри сфIэмыигъуэджэ. Ауэ, бжесIэнщи сымыбзыщIу, Аракъым си псэр зыхущыщIэр. Укъысхуэупсэнумэ, хур пщащэ, НасыпыфIэ сыхъуну ухуейм, Къызэт ямыIэр, уеблэмэ, цIыху Iущми, Зэи имыIэххар къулейм. Вагъуэ зэшыбэм хэлыдыкI вагъуитIу Си пщащэм сэрэ дызэхуэпщIым натIэ, Дихьэнт зэгъусэу уахътыншагъэ лъахэм, КъыдэхъулIауэ хъуэпсапIэу диIахэр. Къызэт къунтх закъуэ, бдзэжьеящэу Къризубыдыфыну сэ а пщащэр. КъысIэрыхьам ар, лъагъуныгъэм И гъэру щысIыгъынут си бгъэм!» Лъагъуныгъэ Лъагъуныгъэ... лъагъуныгъэ ерыпIынэ, Мащэ кIыфI куущ, къыпхуэмылъагъуу лъащIэр, ЩIыIуху хъарпшэрыр къытрещIэ уи нэм, Япэ лъагъуныгъэр зэрыпщIыу. Адэм и мэл хъушэр щызгъэхъут губгъуэм, Мэлхэр хьэсэм зэрыхыхьэр сымылъагъуу, Хэбжьахъуэри, зэхашхыхьащ нартыхур, Сэри сеплъырт ар къысфIэмыIуэхуу. СытегупсысыкIри, згъэкIуэдащ хъуржыныр Илъу къызита гъуэмылэр анэм. Згъуэтыжыркъым гъуэмылэр сыт сымыщIэм, ЕсхьэкIын хуейщ махуэр ныбэ нэщIу. Папи мами, фымыщI фи жагъуэ, Фыкъызэмышхыдэ, къысхуэвгъэгъуи. Фи мыгугъэ сэрауэ ар зи ягъэр, Къуаншагъэр зылэжьар си лъагъуныгъэрщ. Уэс цIэнтхъуэрыгъуэ Iэжьэ лъэгум щIопсэлъыкIыр уэсыр, ФIыуэ слъагъур яшэ Iэжьэм ису. Хуэмейуэ иратами жагъуэлIым, Нээчыхь хуатхынущ, зрамыгъэлIалIэу. Иджыпсту сыхъуфатэмэ уэс, СыщIэгъуэлъхьэнт уэсукхъуэу Iэжьэ лъэгум, Щыщхьэпрезгъэдзмэ Iэжьэр гъуэгум, Къихунти дахэр, ескъузылIэнт си бгъэгум. Iупэ пщтырхэм ба гуащIэ яхуэсщIым СигъэткIужынут , щIэрыщIэу ЦIыху сыкъэхъужу, СыкIуэдыжыпэным папщIэ. Пщыхьэщхьэм Пшэплъыр мэфагъуэ, Мэщымыр губгъуэр, Пшэ къуацэ щхьэфэхэм йобзей МазэщIэ къыщIэкIам и бзийр. Мазэм и бзийхэр кхъэми йохьэ, Абы ит сынхэр зэпаплъыхьу. Телъыджэщ мазэм и бзиипсыр, КъагурымыIуэу къалэдэсым. Дытетщ дэ тIур къуажэ уэрамым, ДедаIуэу бзум ягъэIу макъамэм. Нэхъри тегушхуэу, къыщIигъалъэу, Зэрегъэлъэлъ бзум и пшыналъэр. Пэджэж пфIэщIыну мазэ бзийм, КъщоIур хьэмымкIэ бжьамийр. Бжыхь задэм адэкIэ жыг хадэм Къыщыблэ мафIэм къыхиху Iугъуэр Жыг щхьэкIэм хъару треубгъуэ. ЩIакIуэ щиубгъуам мафIэбгъум Iэхъуэр щожей, къыщIихуу Iугъуэр. Бжьамийри зэролъэлъыр уэшхыу, Хъушэ шхэкъуари мэжьэгъуашхэ. Абеж, щыкIыргъым куэбжэ цIыкIур, Iэхъуэр щолъэтыр накIуэпакIуэу. ЗригъэщIауэ бгъукIэ щIакIуэм, МэдаIуэ, маплъэ, Мес, зыкъеIэтри, щэхуу макIуэ: IэплIэ зэхуащIурэ зопсалъэ НыбжьитI, яIуатэу я гухэлъыр. Зы чысэ илъщи тIуми я псэр, СлъэмыкIыу сызрагъэхъуапсэ. Фи дежкIэ хъуркъым сэ нэзгъазэ ЗэхуэфщI фи бахэр, IэплIэ гуащIэр. Ар щызинатIэкъым сэ гъащIэм! Си жэщхэр Вагъуэбэ пщIыпщIыр уэгум къыщитIысхьэм, Мазагъуэр тхьэIухуду къыщысхуэблэм, ЗытезгъэщIэнщи щхьэгъубжащхьэм, Iугъуэ Iувыр пезгъэхунщ си лулэм Сыхэхъуэпсыхьу зэман телъыджащэм, СыIущIэнщ махуэщIэм и нэхущым! Жэщыр мазэхэм, уафэр яуфамэ пшэм, Дауэрэ исхын жэщ даущыншэр? Зэрыдэлъеижу джэдхэр лъэуейм, Сыгъуэлъыжмэ, сезэгъыну жейм! Сыгъуэлъми, жейр къыслъримышэу, Сеубыдыр зэш нэбэнэушэм. Шы щIакъуэ тес нэхъей, зэманым, И пIэм имыкIыу, зрегъанэ. Ужьыхыурэ Iугъуэ къыпихур, Си лулэ тIэкIури сIэпохур. Сымыгъуэтыжу нэгъуэщI хэкIыпIэ, Къызощтэри, къалэм, тхылъымпIэ, ИзогъэтIасэ си гухэлъыр Усэ сатырхэм я пшыналъэм. Хуэм- хуэмурэ апхуэдэ защIэу Уэрэдыр къыщоуш сигу лъащIэм, Ягу ирихьынуми сымыщIэу. Дауэ къащыхъуми си зэхуэдэу, Жейм емызэгъ си псэм къеныкъуэкъуу, Си жэщхэм къысхуагъэщI уэрэдхэр, Гурылъ яхэлъхэм мафIэ гуащIэу Мазэхэ жэщыр къагъэлыдыр. Къэхъуакъым жейм пэлъэщыфа, Сэри зэгуэр сыхилъэфэнщ. Исхынщ апхуэдэу жэщ къэсыху Зэ сытегушхуэу фыз къэсшэху. Фадафэ хьилэшы Сефэми, сфIэфIми шагъыр, Зэрезгъэхыр тэмакъым ар ерагъыущ. Хьилэшыжьым пцIы упсынкIэ утекIуэн, ЩIефэм щхьэусыгъуэ мин къыхуигъуэтынщ. Къызыщызгъэхъунщ мы фалъэр Пащтыхьым и гуу, шагъыр къырищIэзгъалъэу, Шагъырым и пIэкIэ къизгъахъуэу абы и лъыр, Сефэнт итIанэ фалъэм и щIэм сиплъэу! Дыгъэм зыхуэзгъазэу Зиусхьэн, пхузогъэщхъыр си щхьэр, Уи гулъытэм къыхэгъэкI си Iыхьи! Уи дыгъэ бзий жьэпэпсым Щыщу зыри сыт къыщIыслъымысыр? Махуэ къэсыхункIэ си щхьэщыгум Укъиплъэу, ущхьэщосыкIыр щIыгум, Ауэ си унэ тхышэм укъыщIэплъэу, Щхьэ зэи къысхуумыхьрэ пшэкIэплъыр? Си пэш псыIэ кIыфIым укъыщIыхьэу Сыт ущIыхэмыплъэр си гум щыжьэм? ПсыIэ кIыфIым игъэуназэм уи щхьэр, УщIэкIыжыфынут зумыIэжьэу! СыусакIуэщ сэ, Сызэрыпсэури усэщ! НэгъуэщI псэупIи симыIэу. Си унэ тхышэри аращ щIэпсыIэр! Уэри зэгуэрым дыгъэ бзийм и налъэр Дэплъэу,бгъэIугъащ пшыналъэ, Ар цIыху цIыкIум ящIу Iуэху Олимп Iуащхьэ Зевс кърадзыхыху! СынолъэIур, ныбжьэгъу, си усакIуэгъу, Зыкъэгъэлъахъши, тIэкIу къысхуэщI гущIэгъу! Уи пшэплъ дыхьэрэным ущымысхьу, Зы мащIэ нэхъ мыхъуми къысщхьэщыхьэ. < a href="http://aratsetup.ru/ssl/#m-zh-r-usyg">Мэжэр усыгъэ
{ "source": "adygabza.ru", "id": "m-zh-r-usyg.txt" }
Анадолэ адыгэм и псалъалъэ «ЦIыху къых′эмыкI′ар кIуэнус-кIуэнурэ щIэущыхьынус». «ЗэрыщIэущыхьыну» щIыкIэм и щапхъэхэу къахь хабзэр: уи щэху, уи тIасхъэ, уи дагъуэ ищIэмэ, и псалъэ епцIыжынщи зыщIыпIэ деж тIысынщи ущиIуэтэжынщ; къалэм еджакIуэ-лэжьакIуэ кIуэнщ, и Iуэхури дэкIынщ, ауэ ахъшэмрэ фадэмрэ ягъэжэкъуэнщи, ари зыуэ «щIэущыхьа» хъунщ; цIыхубз IуэхукIэ къэпцIэнщи, и унагъуэ, и щхьэгъусэ игъэпудынщ, зыхуей хуигъэзэфынкъым, н. къ. Псэлъафэр феодализм лъэхъэнэм и щIэин гупсысэкIэм щыщми, лIыгъэ телъхьэпIэрэ щапхъэрэ дэтхэнэ зы адыгэми хуэхъуфын дуней тетыкIэр, щэн-зекIуэкIэр зыгъэлъагъуэ гъэсэпэтхыдэхэм яхэту къокIуэ. Дамыгъэ мыхьэнэр зи шыпщэрыхьу бзэмрэ IуэрыIуатэмрэ я гъунэилъыпIэм щызекIуэ псэлъафэхэр – лъэпкъым и гущIагъщIэлъ гупсысэ, и щIэнхабзэ нэщэнэ курыххэр зыхэлъхэр – IуэрыIуатэмрэ ар зи гъуджэ-гъуазэ адыгэ хабзэмрэ я щыпэ теплъэр зэфIэгъэувэжауэ джынымкIэ дэIэпыкъуэгъушхуэщ. «Щыпэ теплъэ»… Хэт емыхъуапсэрэ абы нэ лъэныкъуэкIэ нэхъ мыхъуми зэ хукъуэплъыну?! Тхыбзэр, хамэ лъэпкъ гупсысэр зылъэмыIэса хэхэс IуэрыIуатэм нэхърэ нэхъ пэжу ар хэт ди нэгу къыщIигъэувэфын? Тыркум ис адыгэхэм я зы хэгъэгу – Узун-Яйлэ (Къайсэр) – и адыгэ дунейм зэ дыхэвгъэплъэж. А дунейр макIуэ, «нэхъыжь кIуэжахэм» я гъуэгу теувауэ, ауэ а дунейр псэущ, и бзэ телъыджэр зыIурылъ нанэ-дадэ Iумахуэхэр диIэжыху. Фи пащхьэ илъ тхыгъэр зи фIыщIэри зи фэеплъри ахэращ – Узун-Яйлэм и нэхъыжь губзыгъэхэу мы хэгъэгу псалъалъэ пычыгъуэр налъэ-налъэу дэзыгъэтхыжахэм. Хэкурыс адыгэхэм фэ фи псыхъуэ щызекIуэ, е щызекIуа псалъэжь фыхуэзэмэ, ар иджыри зэ щыхьэт техъуэнщ IуэрыIуатэр адыгэ лъэпкъым и шхэпсу зэрыщытым. I. Узун-яйлэ адыгэхэм я дауэдапщэ-джэгу псалъалъэм щыщ Ахъшэ зэхэдзэ – нысашэ кIуэнухэр ежьэн ипэ, хьэщIэщым исхэм нысэ къэзыша унагъуэм ахъшэ хузэхадзэ. Хабзэм къыдекIуэкIыу «Тхьэмадэм нэхъыбэ птыныр емыкIус» жаIэ. Г′эгукъутэж – нэхущ уджыр («Тхьэшхуэ уджи» жаIэ) яуха нэужь, нэхъыжьым пшынауэм пшынэр къыIрихырти ар иIыгъыу утыкум къихьэрт, джэгум хэта, ар зыгъэдэха щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ яхуэхъуахъуэрт, пшынауэм фIыщIэ хуищIырти абыкIэ джэгур яухырт, «якъутэжырт». Г′эгу таршын (узун-яйлэ хьэтыкъуейхэмрэ абы ягъунэгъуу щыс къэбэрдейхэмрэ хьэтх′акIуэ жаIэ) – джэгур зезыгъакIуэ, къэфэнухэр хабзэм тету къыдэзыш, джэгуакIуэ-хьэтыякIуэ. Таршын псалъэр урыс ‘старшина’-м къытекIагъэнущ (вариантхэмкIэ: истаршын, истрашын, ташын). Гуащэкъыдэш (Жанкъыдэш, Ботэщхэ я Жанкъыдэш, Мэртазэхэ я гуащэкъыдэш) – пщым и пхъур (жаныр) къыдашу къызэрагъафэу щыта хабзэмрэ абы и пшыналъэмрэ. Гущхьэ – гуфэм телъ гущхьэтепхъуэм традэж щэкI плъыжь кIапэ, и лъабжьэм хужь щIэбзауэ, хуэплIимэ кIыхьу, и бгъуитIымкIэ нэхъ псыгъуэу тыкъыритI пыдэжауэ (и кIыхьагъыр см 70-100 хуэдиз мэхъу). НысащIэр зи пхъум къыщIахыу традэн хуейт. Нэсыжыху гущхьэхъумэ шухэр къыбгъурыту яшэт. Гущхьэм къекIуэу ар трачрэ ирахьэжьэну яужь итт хамэ къуажэ шухэр. Ахэр ягъэфIын папщIэ нысашэ гупым хэт хъыджэбзхэм тын цIыкIуфIэкIу Iэмэ здырахьэжьэт: щIопщ дахэ, бэлътоку, чысэ хэдыкIа, н. Уи нысэ и гущхьэм «къеIэныр», ар пфIахьыныр узыфIэмыкIыжыну щхьэкIуэт, ар езыхьэжьам кIэлъысу яукIынри хэлът. Ауэ гущхьэр тезычахэм ар я къуажэ нахьэсыфамэ, зэфIэкIат. КъэщэхужыпIи сыти иIэтэкъым, лIыжь гуп лIыкIуэ ящIу лIыжь унафэкIэ (лIыфIIуэхукIэ) къамыхьыжмэ. Абы къыхэкIыу гущхьэр зымыхъумэфа шу гупыр Iейуэ емыкIу, ауан къащIырт. Гущхьэр течауэ («гуфэпцIанэу») къуажэм удыхьэжыным нэхъ укIытэгъуэ щыIэтэкъым. Нэхъыжьхэм я зы псалъэкIэ жыпIэмэ, «гущхьэр нысэм и нэмысщ, и пшэкIухьщ». Гущхьэм и эквиваленту нобэ къокIуэ нысашэ машынэхэм трапхъуэ щэкIыр. ИгъэзащIэ дауэдапщэ (семиотик) къалэнымкIэ гущхьэр бгъэдэтщ нысашэ бэракъ плъыжьым. Гущхьэхъумэ – гущхьэр ихъумэу нысэр зэрыс гуимэм бгъурыт шу гуп. Гулъэмыжкъутэ – унэишэм деж уэредадэр жызыIэ щIалэ гупым лъэбакъуэ зыбжанэ яча нэужь «Гулъэмыжыр къутас!» жаIэти, бжыгъэрэ зэщIэувыIыкIт. Абдеж джэгур зи джэгу унагъуэм Iэнэ, е нэгъуэщI згуэр уэредадэм и егъэжьэжыпщIэ хуэдэу къахьын хуейт. Псалъэм папщIэ, щауэм и адэшыпхъухэр къагъафэти («къагъэшэшэнти»), къызэрыфам папщIэ тазыр тралъхьэжт. Нысашэ уэредадэр жызыIа щIалэхэм яужькIэ зэхэс ящIыжти ахэр зэдыраф-зэдашхыжт. Жанкъыдэш – еплъ «Гуащэкъыдэш»-ым. Жэназы Iэ Iэт (Iэ сэмэгу Iэт) – нэщхъеягъуэм епха дауэдапщэм щыщ хабзэщ. ЛIэныгъэ зиIэм гузэвакIуэ къахуэкIуа гупым зылI нэхъыжь къыхокIри хуэмурэ и лъакъуэ сэмэгумкIэ лъэбакъуищ къеч. Зыхуэщыгъуэхэм я деж и гупэр гъэзауэ и Iэ сэмэгур хуэмурэ къеIэт. Iэ IэтыкIэм къеIуатэ хьэдэм и уэндэгъуагъыр (псэуху иIа пщIэр): Iэ тхьэмпэр жьэгъум нэс зыхуаIэтыр унэ хьэдэщ, нэзэрыхъэм нэсу иIэтмэ – къуажэ хьэдэщ, щхьэщыгум хуэфIу дриIэтеймэ – жылэ хьэдэщ. Иныкъуэм зэраIуатэмкIэ, мыр цIыхур лъэпкъ-лIакъуэкIэ зэхэгъэжыным (пщыгъэ-уэркъыгъэм) епхащ. Адрейхэм зэрыжаIэмкIэ, лъэпкъ-къупщхьэ емылъытауэ дунейм ехыжам и псэукIам, хабзэрэ цIыхугъэу хэлъам, цIэрыIуэу зэрыщытам елъытащ. Нэхъ тэрэзу жыпIэмэ, иужьрей зэманым (феодал системэм и кризис къежьэгъуэм, ар блэкIа нэужь) еплъыкIитIри хабзэм зэдыхэлъащ. Жылэ хьэдэ – еплъ «Жэназы Iэ Iэт»-ым. Зэрызафэ – еплъ «Махъсымафэ»-м. КI′ата хъых′ (абазэбзэ) – нысэм щхьэрыпхъуа щэкI пIащIэр («шейтIан фэкъур») техын хабзэр. Нысашэ хабзэхэм щытепсэлъыхькIэ, абазэпхъу – къэбэрдей нысэхэм я бзэм къыхохуэ. Хэкурыс адыгэхэм яIэ «хъытех» хабзэмрэ псалъэмрэ хуэдэщ. Къуажэ хьэдэ – еплъ «Жэназы Iэ Iэт»-ым. КъуажэщIалэхьэкъ (къуажэщIалэIыхьэ, къуажэщIалэпарэ) – нысашэ гупым къыздахь дауэдапщэ ерыскъы, фадэ, ахъшэ сытхэр, къуажэ щIалэгъуалэхэм хуагуэшын папщIэ здырахьэжьэр. Сыт щыгъуи яфIэмащIэ хъурти, абы джэгу, зэныкъуэкъу, зэдауэ кърагъэкI хабзэт. Къыдэдз (къыдэху, къыдэх′) – цIыхур Iуву, къэфэгъуэ чэзур къалъымысу джэгу таршыным къыдимыш щыхъукIэ, и ныбжьэгъур е и хьэщIэр бысымым къигъэфэну къыдидзт. МастэхэIу – гущхьэр (еплъ) тезыдэ хъыджэбз хьэщIэхэм джэгуурэ мастэ хаIурт. Махъсымафэ – адыгэ нысашэм и зы махуэм хэхауэ ящIу щыта ефэ-ешхэщ, хьэщIэщ хабзэжьщ. Нысашэм емыпхами, махъсымэ зэращIа къудейм и цIэкIэ адыгэ уэрэдыжьрэ хъыбаркIэ Iэзэ лIыжьхэр зэхуашэсырти махъсымафэ уэрэд жрагъыIэхэрт. Махъсымафэ уэрэдхэр репертуар щхьэхуэщ, адыгэ IуэрыIуатэм и классикэщ, Хэкужьым здырахыжа уэрэдыжь зыбжанэщ: «Дунеижьыр щымыджэмыпцIэм...», «Хьэтх Мыхьэмэт-гъуазэ и уэрэдыр», «Хьэтхым и КъуэкIасэм и уэрэдыр», «Жэщтеуэжьым и уэрэдыр», «Къэбэрдей къаным и уэрэдыр», «Хъымсад-гуащэ и гъыбзэр», «Ажджэриикъуэ Кушыкупщ и гъыбзэр», н. Махъсымафэм хэс дэтхэнэ зыми зы уэрэд едзыгъуэ жиIэти къыбгъэдэсым «нокIуэ, уэрс!» жриIэти махъсымэбжьэр хуишиирт. Адрейми Iимыхыу «гъуэгуфI!» жиIэт, зэ закъуэ хэфэрт, къыIихырти къыкIэлъыкIуэ едзыгъуэр жиIэрт. «Зэрызафэ», «зы уэрэд едзыгъуэ едзын» жыхуаIэр аращ. Махъсымафэ уэрэд (фадэ уэрэд) – еплъ «Махъсымафэ»-м. Нысашэ тхьэмадэ – нысашэ ежьэ гупым я нэхъыжь, хабзэр фIыуэ зыщIэ, жьабзэ зыIурылъ лIы цIэрыIуэ. «Нысашэр зыгъэщIэгъуэн тхьэмадэ»: нысашэр щIагъуэ (къекIу, дахэ) зыщIын, хабзэм тету зэфIэзыхыфын. ПщафIэ – нысашэ гупым ящыщщ, тхьэмадэм и дэIэпыкъуэгъущ. ПщафIэу нэрыбгитI (цIыхухъу пщафIэрэ хъыджэбз пщафIэрэ) яхэтт. ЦIыхухъу пщафIэм и къалэн нэхъыщхьэр тхьэмадэр здэщыс Iэнэм ерыскъыкIэ хуэсакъынырат. Хъыджэбз пщафIэр нысашэ гупым хэт хъыджэбзхэм яхуэсакът, зыхуей хуигъазэт. Тхъурыжьэ – щэ дагъэкIэ гъэжьа тхьэвхэкI шхын, нысашэ дауэдапщэ ерыскъыхэм ящыщщ. Тхьэмадэкъуэдзэ – нысашэ тхьэмадэм (еплъ) и дэIэпыкъуэгъу, и къуэдзэ. Уэр[и]дадэ пашэ – Уэредадэр къыхэзыдзэ, ар жызыIэ гупым я пашэ. Уэр[и]дадэжыIэбжьэ – нысашэ уэредадэр жызыIа щIалэ гупым хуагъэфащэ фадэбжьэ. «Уг′ыр яIэтыжас…» – хьэгъуэлIыгъуэхэм удж къыщамыщIыжын унафэр 1960 гъэхэм Узун-Яйлэ къыщащтауэ щытыгъащ. Мыпхуэдэ унафэм щхьэусыгъуэ хуэхъуахэр зэтемыхуэу къаIуатэ, ар зэгъэзэхуэнри лэжьыгъэ щхьэхуэщ. Иужьрей зэманхэм, адрей къэфэкIэ лIэужьыгъуэхэм кIэрымыхуу, уджыр къащтэтыжауэ зэрахьэ. Унэ хьэдэ – еплъ «Жэназы Iэ Iэт» жыхуиIэм. Фошыгъу хьэлыгъуанэ – хъыринэ щыщIащIэкIэ ягъэхьэзыр дауэдапщэ шхыныгъуэ IэфI: фошыгъур ягъэткIури хъурейуэ трагъэлъадэурэ ягъэж. Х′акIуэ (Х′акIуэжь) – щауэишыжым хэт дауэдапщэ нэрыбгэщ (персонажщ); джэгуурэ «мэщыщ», и щхьэр иудэурэ фадэбжьэм «хопсэ», «хопырхъэри» зэбгреутхыкI, хъуахъуэхэм ятреутхэ, утыкур къежыхь, хъыджэбзхэм ядогушыIэ, щIалэхэм «йотхауэ»; ХакIуэ къалэныр зыгъэзащIэу щытар унэIут-куэбжэIутт. ЩызекIуауэ ттхыжар Мударей къуажэщ. ХакIуэм и дамыгъэ эквиваленту языныкъуэ абазэ къуажэхэм къашэт «гуу». Хъыринэ – япэу щIалэцIыкIу къащыхэхъуэкIэ (куэдрэ бын ямыIауэ хъыджэбз цIыкIу къалъхуами, нэхъыжьхэм я псалъэкIэ жыпIэмэ, «нану щIэщыгъуэ» щагъуэткIэ) хъыринэшхуэ щIащIэт, абы и бгъуитIымкIэ щIалэхэмрэ хъыджэбзэхэмрэ тетIысхьэурэ ещIэт, ещIэхукIэ зэдэгушыIэхэт, хъуэрыбзэ зэрадзт, уэрэд жаIэт. Хъыринэм ягъэхьэзыр дауэдапщэ шхыныгъухэм ящыщщ фошыгъу хьэлыгъуанэр (еплъ), ар хъыринащхьэм деж кIэращIэт. Шэшэн – къэфэкIэ псынщIэ лIэужьыгъуэщ, къэбэрдей къафэ кIыхьым, къафэ къуаншэм, уджым ягъусэу Узун-Яйлэ щызокIуэ, Тыркум ис адрей адыгэхэми фIыуэ ялъагъур, псом хуэмыдэу щIалэгъуалэм. «Унэишэ цIыкIум деж пхъужьхэр къагъэшэшэнт». («Пхъужь»-кIэ узун-яйлэ адыгэхэр зэджэр лъэпкъым щыщу дэкIуауэ, унагъуэ ис бзылъхугъэхэращ; мыбдеж – хьэгъуэлIыгъуэм хэтыну зи дыщ къэкIуэжа фызхэр, щауэм и адэшыпхъухэр.) ЩIакхъуэмыгъэтэдж – дауэдапщэ ерыскъым лIэужьыгъуэ, нысашэ ежьэхэм здырахьэжьэ шхынхэм Iэмал имыIэу халъхьэт. ЩIалэIэтэ (щIалэIэтэ щIын, …щIыгъуэ] – джэгум хэт щIалэхэм я дауэдапщэ зэбэн, зэзауэ, зэпщэфыIэ («фэзэбэным (фэкъыхэдзэм)», «пыIэзэфIэхьым»,кIахэ «паIохьэм, зэхэплъэжым», джылахъстэней «балий мыхъум» хуэдэу): нэхущ уджыр яуха нэужь, джэгу къутэжыгъуэ шыхъуам деж «Мударейм я щIалэIэтэщIыгъуэ хъуащ», жаIэт. ЩIэупщIэн – джэгум хэтхэр (нэхъыжьхэмрэ нэхъыщIэхэмрэ, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ) зыр зым пщIэ хуащIу фадэбжьэ, «джэгъарэ» (тутын), IэфIыкIэ сытхэмкIэ «ирищIэупщIэу» зэрыхуахь, е зэрыхурагъэхь хабзэ. Дауэдапщэ «гулъытэм» дауэдапщэ «гулъытэншагъэри» игъусэти, хабзэм къыдекIуэкI псэлъафэщ мыри: «Зы псы фалъэкIэ мыхъуми, сыт укъыщIытщIэмыупщIар?!». «Гулъытэншагъэ» зезыхьар джэгуурэ фIэгъэнапIэ ящIырти ягъэгъэпшынэжырт (шхын-фадэ сыткIэ), екIужыпщIэ шхыныр иужькIэ зэхэс щхьэхуэу зэдашхыжт. ЩIэшын – пцIы зэфэзэщыр згуэрым и фIэщ щIын, дэгушыIэурэ къэгъэпцIэн (урыс. разыграть, приколоться). IуэрыIуатэ цикл къещIэкIащ Мударей, Пэзэрсу (Анзорей ЦIыкIу) къуажэхэм я щIалэгъуалэ гушыIэкIэхэр, Тохъу Хьэжумар и щIэшынхэр. Псалъэм и къэкIуэкIэ нэхъыщхьэхэр: «щIеш» («догушыIэ»), «ущIеш» («къыбдогушыIэ», «укъегъапцIэ»), «ЩIиш къудей мыхъуу иришажьэри къришэкI′ас». Пэзэрсу щIалэхэм я щIэшыкIэм щыщщ, псалъэм папщIэ, я фIэщу хьэщIэм зэреупщIу щытахэр: «Къаз нахъутэрэ шыд налрэ ящэри, пщэхун, си къуэш?». IункIыбзэ дамыгъэ – нысашэ дауэдапщэ ерыскъыр зэрылъ матэм щхьэщалъхьэну хьэлыуэ IупщIищым гуащэм и IункIыбзэмкIэ тредзэ (хьэлыуэр хуабэ щIыкIэ, щаубэм деж). Хабзэр Хэкуми (пс. п. Инжыдж псыхъуэ) щызекIуащ. Iэпэ[гъу]щэхуж – джэгуакIуэм и зы къалэнщ, джэгум хэт дауэдапщэ нэрыбгэщ: къафапщIэр (щIалэм е хъыджэбзым къызыдэфэну хуейм къыдагъэфэн папщIэ къит «уасэр» – ахъшэ, е цIыкIу-фэкIу гуэр) къыхэзыдзыр, мыри «куэбжэIут-унэIутым ящыщт». «Уй, мыбы мыпхуэдиз къитащ!», – жиIэурэ къата щэхужыпщIэр игъэнэхъыбэу, игъэкуэду жеIэ. Джэгур якъутэжа нэужь ахъшэм и Iыхьэ гуэрыр къэзытам иратыж хабзэт. II. Узун-Яйлэм и уней IуэрыIуатэ псэлъафэхэмрэ псалъэ шэрыуэхэмрэ Абазагъэ – псынщIагъэ, тэмакъкIэщIыгъэ. «Уи абазагъэр умыгъэлъагъуэ» жиIэмэ, зэпIэзэрыту щыт, екIуу цIыхум яхэт, губжьыр зытомыгъакIуэ, жыхуиIэщ. Этностереотип гупсысэкIэм, гушыIэ культурэм и зы псэлъафэщ. Дэущын – «ущын» псалъэм къытекIащ, «хуэмыфащэми, жиIэр пцIыми, ар дэIыгъын» жыхуиIэщ: «Уэри [абы] удэущас». Тыркум ис адыгэхэм яIэщ мы псэлъафэм и лъабжьэгъуу нэгъуэщI зыи: «ЩIэущыхьын» – уэркъыгъэм, адыгагъэм, лIыгъэм, цIыхугъэм къемызэгъыу зекIуэн, зэми зэ, зыщIыпIэ деж щыуагъэ зыIэщIэгъэкIын. «ЦIыху къых′эмыкI′ар кIуэнус-кIуэнурэ щIэущыхьынус». «ЗэрыщIэущыхьыну» щIыкIэм и щапхъэхэу къахь хабзэр: уи щэху, уи тIасхъэ, уи дагъуэ ищIэмэ, и псалъэ епцIыжынщи зыщIыпIэ деж тIысынщи ущиIуэтэжынщ; къалэм еджакIуэ-лэжьакIуэ кIуэнщ, и Iуэхури дэкIынщ, ауэ ахъшэмрэ фадэмрэ ягъэжэкъуэнщи, ари зыуэ «щIэущыхьа» хъунщ; цIыхубз IуэхукIэ къэпцIэнщи, и унагъуэ, и щхьэгъусэ игъэпудынщ, зыхуей хуигъэзэфынкъым, н. къ. Псэлъафэр феодализм лъэхъэнэм и щIэин гупсысэкIэм щыщми, лIыгъэ телъхьэпIэрэ щапхъэрэ дэтхэнэ зы адыгэми хуэхъуфын дуней тетыкIэр, щэн-зекIуэкIэр зыгъэлъагъуэ гъэсэпэтхыдэхэм яхэту къокIуэ. «Жаным енэцIыну...» – пщым и пхъум тIэкIу епсэлъыхъуну, дэуэршэрыну. «ЖиIар игъэхъуу...» – и унафэр тэрэзу, и псалъэр пхыкIыу. ЖыIэхуэ – цIыху цIэрыIуэм къыщIэна и псалъэ, псэлъафэ, жыIэгъуэ (афоризм): «Хьэфиз-ефэндым и жыIэхуэхэр», «адыгэ жыIэхуэ». «ЖыIын тIэкIу сиIыс...» – нэхъыжьхэм я пащхьэ нэхъыщIэм и псалъэ къызэрыригъажьэ жыIэгъуэ. КI′агуэ, лъапагуэ – адыгэр тыркум зэреджэ цIэлей, щIагъыбзэ (эпитет-эвфемизм). Къэбэрдеигъэ – адыгагъэ, лIыгъэ, жьафIагъэ, хыхьэ-хэкI; гушыIэ-ауану къапсэлъмэ – кIыхьлъыхьыгъэм, псалъэ гъущэ гъэджэгуным (узун-яйлэ уэршэрым) и дамыгъэщ. «Абазагъэм» еплъытмэ, «къэбэрдеигъэ» щэныр «нэхъ зэтеубыда, зэпIэзэрыт» жыхуиIэу къокIуэ. Этностереотип гупсысэкIэм, гушыIэ культурэм я зы псэлъафэщ. «ЛъэпкъкI′э мыщIагъуэ щхьэкI′э шыфI шэсу...» - «мылъэпкъ-мыжэпкъми, мылъэпкъ-мыкъупщхьэми лIы зэкIэлъыкIуэ, лIыгъэ зыхэлъ», жыхуиIэщ. Насыппыуд – насып къэмыгъакIуэ. ПащIэмыщ – адыгэр курдым зэреджэ цIэлей (эпитет-эвфемизм). ПсалъапIэ-увыпIэ етын – гъуэгу етын (еплъ Хабзи гъуэгуи). Псалъэ къэубыд – губзыгъэ, гурыхуэ, акъыл жан. Пх′энжыр х′эз щIын – Iуэхур пцIыуэ, зэрыщытым хуэмыдэу цIыхум яхэхьэн. Уэркъ къабзэ – «уэркъыгъэу дэгъэзеигъуэ кIыхьыр» дуней тетыкIэкIэ зыгъэпэж, зыгъэлъагъуэ цIыхум, лъэпкъыжь къабзэ къыхэкIам хужаIэ. Уэркъыжь [лъэпкъ] – уэркъыгъэр анэкъилъхуу лъэхъэнэ кIыхькIэ къызыдэгъуэгурыкIуэ лъэпкъыфI, лъэпкъышхуэ, абы щыщ цIыху («уэркъышхуэ»-м мыхьэнэкIэ щытехуэ къохъу). Эпитет папщIэу къапсэлъ, «уэркъыгъэр зыгъэпэж» мыхьэнэ иIэу. Уэркъ цIафтэ – мылъку зимыIэж уэркъ. Уэркъым ипкъ – къудан, зэкIуж. Псалъэжь: «Уэркъым ипкъ кIуэдыркъым» (Еплъ: Лъэпкъ и зыпкъ кIуэдIым). Узун-Яйлэ хабзэ (Iузнейлэ хабзэ) – къэбэрдей гупсысэкIэм, хабзэ зехьэкIэм нэхъ тету Узун-Яйлэ щыува, щекIуэкIа хабзэ. ЖызыIэм елъытауэ (хэгъэгум щыщ, щымыщ) позитив мыхьэнэуи негатив мыхьэнэуи урехьэлIэ. «Жэбагъы хабзэ» (Къэзэнокъуэ Жэбагъы игъэува хабзэ) жыхуиIэ псэлъафэри Узун-Яйлэм и хабзэ унейхэм епхауэ къапсэлъ: «ЗгуэрэкIэ зэныкъуэкъу хъумэ, къэбэрдейм – дыдейм – жаIэр арат: “Уэлей, а сэ жысIэр Джэбагъы и къануным напиплI къызэбдзэкIым етхуанэм итым!” – жаIэт. “Уэлей, ар Джэбагъы идэмэ, си пащIэр уэзгъэупсынтэм!”». Узун-Яйлэ хьэщIэщ зэхэс – унафэ къыщащтэу, хъыбар щаIуатэу, жаIар зэрагъэхъуну щIыкIэхэр къыщахутэу Узун-Яйлэ хьэщIэщхэр икIэм нэс къэгъуэгурыкIуащ. ХьэщIэщ зэкIэлъыкIуэ – цIыху кIуапэу, унафэ къэщтапIэу – уиIэныр, ар пIыгъыфыныр унагъуэм, лъэпкъым, лIым дежкIэ нэмысышхуэт. Узун-Яйлэ нэхъ лъэпкъыфIу исахэм я хьэщIэщхэм щаух[у]эса хэгъэгупсо унафэхэм я хъыбархэр IуэрыIуатэм куэду къыхэнэжащ. Узун-Яйлэ уэршэр – «уэршэрын» псалъэм литературэбзэм къикI мыхьэнэм нэхърэ нэхъыбэ мыбдеж къыщырагъэубыд: «хуиту, гушхуауэ зэпсэлъэн» жыхуиIэм щегъэжьауэ «гушыIэн», «сэмыркъэуэн», «щIагъыбзэ куу хэлъу псэлъэн», «жьабзэ дахэ гъэлъэгъуэн», «псалъэншэу, гурыгъуазэу дамыгъэкIэ зэрыщIэн» жыхуиIэхэм нэсыжу. Нэхъыжьхэм мыпхуэдэ жыIэгъуэхэр къахьыр: хьэщIэщ уэршэр, щIалэгъуалэ уэршэр, лэгъунэ (псэлъыхъу) уэршэр, хъыджэбз хьэщIэ уэршэр, пхъужь уэршэр, удж уэршэр, нэгъуэщIхэри. Зы псалъэкIэ жыпIэмэ, уэршэрым мыхьэнэ нэхъыщхьэу иIар псалъэм уриджэгуфынырат, абыкIэ уэршэрэгъур къыдэпхьэхынырат (еплъ «Псынэ» журналым и 9-нэ къыдэкIыгъуэм, Налшык-2010). Узун-Яйлэ унафэ (къэбэрдей унафэ) – жызыIэмрэ щIыжиIэмрэ елъытауэ и мыхьэнэр тIууэ зэщхьэщокI. ГушыIэ культур контекстым тету къэбэрдейм я «дагъуэр» яIуэтэн хъумэ, «кIэ зимыIэ зэхэс», «гъунэ зимыIэ псалъэ» – ар «къэбэрдей (узун-яйлэ) унафэщ». Езы къэбэрдейхэм «унафэ къэхьыныр кIыхьлъыхьми, щыуагъэу къремыгъэзэж» жыхуаIэу «Унафэр къремышынэуэж!» – жаIэ. Жэбагъы къыщIэна уэсятхэм хуахь: «ТIэухеежьэ къэвмыублэ», «Псалъэр тIэужыIэу жывмыIэ». НэгъуэщIу жыпIэмэ, унафэ къэхьыныр кIыхьлъыхьми, а зэ къэхьыгъуэм щыпкъэм тету, ней-нэфI хэмыту къэхьын хуейщ. «Унафапэ кърихьэжьэу...» – Iуэхур зэфIэха зэрыхъун псалъэ Iущ къыхилъхьэфу. «Тохъу Хьэжумар унафапэ кърихьэжьэфт». Унафэгъу (тIысэгъу) – къотIысылIэу къопсэлъэфын, унафэ къыбдищтэныр зыхуэфащэ, къызытехуэ. «Унафэр къремышынэуэж…» («унафэр къэшынэуэжынус…») – еплъ Узун-яйлэ унафэм. ФызкI′э лIыфIс – фызым тегушхуэ лIыгъэншэм хужаIэ. Х′эвэщIэн (гуемыIу жыIэкIэ) – лей жыIэн, хуэмыфащэу псэлъэн, «къэвэн». Хабзи гъуэгуи [етын] – хуэфащэ пщIэрэ нэмысрэ хуэщIын. Хъурыпэ пыуд [щIын] – Iуэхупэ кърихьэжьар Iэпыудын. ЖыIэпIэ-щIапIэ цIыхур щрамыгъахуэм деж жаIэ. Хьэгъэ – напэншагъэ, хабзэншагъэ; «цIыхугъэм», «адыгагъэм», «уэркъыгъэм» я антониму къокIуэ. ЦIэ тын, цIэ щытын – цIэрыIуэ [щы]хъун. Псалъэм папщIэ: «Ягъэнхэ цIэ ятас». «Щаухуэсурэ…» (ухуэсын) – щаухэсурэ, хасэ зэхашэрэ унафэ къыщащтэурэ. «ЩIакIуэкIапэ ныпхузодз!» - «ЩIакIуэкIапэ зэдытеувэн» хабзэжьым епха псэлъафэ, нобэрей мыхьэнэуэ кърагъэкIыр: «еуэ, дызэпегъэIэ, дызэгъэныкъуэкъу!». «Iэдэж[э] зыщI!» – епсыхи лъагъуэ зэвым дыщызэблэгъэкI, гъуэгупэр сэ сыгъэхь, щыигъуэм деж дэчых зыхэгъэлъыф, жыхуиIэщ. III. Адыгэ псалъэжь нэгъэсауэ Узун-Яйлэ щызекIуэхэм щыщ Гугъум щIэсыкI′ыр лIыфIс – гугъуехьым щIапIыкIыр удэфэнкъым, жыхуиIэщ. «МылIэр лIы мэхъу» жыхуиIэ псалъэжьым ещхьщ. Гузэвэгъуэ ихуэр Iэмалибгъум йопхъуэри, унэхъунуми щхьэусыгъуибгъукIэ зыщIeуфэ. Зэхуэмыдэ зэдэфэркъым, зэмыфэгъу зэрышэркъым – хэкурысхэм мы псалъэжьым «цIыхугъэрэ акъылрэкIэ пхуэмыфащэ пэшэгъу умыщI» жыхуаIэу халъхьэ мыхьэнэм къыдэкIуэу, лъэпкъ-лIакъуэ зэхэгъэж мыхьэнэр нэхъ къыхагъэщу Узун-Яйлэм къыщапсэлъ. И махуэр къэмысу и вагъуэр ижас – дунейм тетуи темытуи ямыщIэжу лIам хужаIэ. Къуэ натIэрысрэ лIы исырейрэ [Тхьэм къыуит]! – гыбзафэ-псалъэжь. Лъэпкъ и зыпкъ кIуэдIым – лъэпкъ къыхэкIам (уэркъым) и пкъыр гъуащэкъым, зэкIужщ, къуданщ, жыхуиIэщ. Мы псалъэжьым мыхьэнэкIэ хуэкIуэу Табыщ Мурат и архивым щыщ жыIэгъуэхэмкIэ къыддэгуэшащ: «Беслъэн нэгу», «Беслъэн набдзэ», «Лъэгу щабэ», «Ботэщ и къуэм и бгыу щIалэ псыгъуэс», «Задэ ипхъус, псыгъуэ янэс». ЛIымыхъум Iуэхуищэ и гум илъщи, лIыхъуным и Iуэхур гъуэрыгъуищэкIэми егъэхъу. ЛIы хуэдэ жыпIэрэ фыз хуэдэ щIэпк′эжу! – уи псалъэ утемытыжыфу, утегушхуэрэ упсалъэу, иужькIэ уужьыхыжу. Мыгъуэр икI′эс – тхьэмыщкIэныр сыт щыгъуи гугъуехьщ, жьантIэкIэщ. НэщIмазэр хьейнатIэм и фIэрэфIэгъуэс – нэщI мазэу цIыху быдэм, хьэщIэмыгъашхэм и унэ уихьамэ, зегъэфIэрафIэ, «мынэщIмазэу щытамэ, удгъэшхэнт» жыхуиIэу. Псалъэм и пэжыр игъуэс – хэт жимыIэми – иребзылъхугъэ, иренэхъыщIэ – псалъэр пэжмэ, игъуэу къэщтапхъэщ. ПщыфIыр жылэм я унэIутс – пщым и къалэныр жылэм къыщыжынращ, къэхъумэнращ. ПщIэгъуалэр делэм и кIуэдыжыгъуэс – «пщIэгъуалэм лъэпкъкIэ, жылагъуэ нэмыскIэ зыхуэмыфащэр иремышэс», жыхуиIэщ; «щIэх фIей мэхъури» жари тражыIыхьыж. ТIэухеежьэ къэвмыублэ, зэкъуэшитI нэхъыжь къэвмыублэ, фыззэтех къэвмыублэ – Жэбагъы къыщIэна псалъэжьхэм ящыщщ. ТIысыпIэмрэ унафэмрэ пщым ейс, хабзэмрэ зауэмрэ уэркъым ейс – жыжьэу тхыдэмкIэ уIэбэжмэ, адыгэм жылагъуэ къалэнхэр зэригуэшауэ жыхуаIэр. Узыдэсыр жьантIэс – жьантIэм ущIэмыкъу, ар пхуэфащэмэ, а узыдэс щIыпIэр уэ жьантIэ пщIынщ, щысхэм уи дежкIэ зыкъагъэзэнщ. УзыщамыщIэм уи щыгъынщи, узыщащIэм уи акъылщ [уи лъэпкъщ]. УлIмэ улIакъуэс, нэмыс уиIэмэ убеслъэнс – лIыгъэ пхэлъмэ, уи лъэпкъыр ялъытэнщ, нэмыс къыпхуащIмэ, ууэркъщ (убеслъэнс), жыхуиIэщ. «Лъэпкъы[гъэ]р зэпхар илъыракъым, игурас…». Жэбагъы къыщIэна псалъэхэм хабжэ. Утыку зэрихьэр лъапэщи къызэрикIыжыр напэщ. Ущымыхъунум ущымыуэ – уи Iуэху къыздимыкIынум ущымыгушхуэ, зыщомыгъэлъагъуэ, жыхуиIэщ. Ущысу укъэзымылъагъум ущыту зыкъомыгъэлъагъу – укъэзымылъытэм пщIэ лей хуэпщI щхьэкIэ укъилъытэнкъым, жыхуиIэщ. Уэркъ пшыналъэ ибжыкI′ырIым – уэрэд, хъуэхъу, къафэ, теуэ-тепкIэ сытхэр уэркъым хуэфащэркъым, жыхуиIэщ. Уэркъ уэркъ дауэ ищIыркъым – уэркъыгъэм ущIэдэу нэужь, уи уэркъыгъэм шэч къыхубохьыж, жыхуиIэщ. Хэкуми, нэгъуэщI лъэпкъ аристократи́к культурэхэми щызекIуэ гупсысэщ. Х′абзэжь х′экужь къыранэркъым (къыщанэркъым) – Хэкур убгынэ щхьэкIэ, хабзэр уздэкIуэм здыбохь, лIэужькIэрэ умыгъэкIуэду зыбохьэ жыхуиIэщ. Х′абзэмрэ бзэмрэ здэщымыIэм адыг′э щыIэIым – Жэбагъы къыщIэна псалъэжьхэм ящыщу Узун-Яйлэм щыжаIэ. Хабзэр убзэ зыфIэщIым пщIэнум и ныкъуэр х[ыу]егъанэ – «Хабзэр убзэ зыфIэщIым хабзэ кIэлъызомыхьэ»; «Хабзэ зымыщIэм убзэ къыщохъу» жыхуиIэ псалъэжьхэм яхуэдэщ. ХьэщIэщыр хьэщкъым – хьэщIэщым унафэшхуэ къыщащтэкIэ, цIыхухъу хьэщIэшхуэ щызэхэскIэ, щIэмытыпхъэ – сабий, бзылъхугъэ, къихьэ-нихьэ – щIагъыхьэркъым. Патриархат гупсысэкIэм и щIэин псэлъафэхэм ящыщщ. ШхупцIатэхьэ кIуати, мэрамысащIэу къыщIэнэжас. ЩхьэкIуэ зышх щхьэшхыгъуэ йохуэ – инжыджей (КъШР), кIахэ адыгэхэми мыпхуэдэу жаIэ, Къэбэрдей ТIуащIэм «Лъакъуэ зышх щхьэшхыгъуэ йохуэ» жэуэ щызекIуэ псалъэжьым и вариантщ. Iэдэжым шэси узытесыр сэ къызэт – «Уищхьэ-сищхьэ нэхърэ сищхьэ гуэр» жыхуиIэм хуэдэщ. Пащты (Мыжей) Мадинэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, Адыгэ республикэм гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и Институтым и щIэныгъэ лэжьакIуэ пашэ. «Псынэ» журнал, № 11. – Налшык, 2013.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "madina.txt" }
*** Дызэрысыр хэкуу дымыщIэу дыщопсэу тхуэмыхъуу ЛъэбакъуипщI адэкIэ Iун макъ къыджьэдэIукI мыхъуу Абдеж нэхъ хуэщIа уи гугъэу къебгъэжьар ныкъуэжыIэу Кремл лъапцIэжь зэрыдэсыр гум къагъэкIыж щIыIэ-щIыIэу Абы и Iэпхъуамбэхэр дагъэлщ, ещхьщ хьэмбылу гъумыщIэ И зы псалъэр зы абрэмывэ мыхъуну уи фIэщ тумыщIэ ЦIыв пащIэшхуэ - выбжьэ теплъэ - щIогуфIыкI И шырыкъуитIым я лъапщэр тоцIуукI Ихъуреягъыр кIэрыху-кIэрыщ, пщэ лантIэ, IумпIэ Iыгъ Зыриджэгухэр, IуэхутхьэбзащIэу, ныкъуэцIыхун зи нэрыгъ Хэти мэфий, хэти мэпщIэу, хэт мэIуей Езы закъуэр мэIунщIэ, фIыу мэкъуейщIей Шылъэгу налу къызэкIэлъыщIидз хабзэ мыхъур - Хэт и натIэ, е и щахэ, нэ е нэжьгъ темыхуэу мыхъур, УкI тэзыри хуохъужри – фо IэмыщIэщ Асэтынэбгъэшхуэ тIари зи фIыщIэщ. (Усэр Сталин теухуауэ итхыгъащ) 1933
{ "source": "adygabza.ru", "id": "mandel.txt" }
Гаирбекова Машидэт Аварыбзэм къизыхар Омаров Мухьэммэдрасулщ Шэрджэсейм и Iимам щихъ Мухьэммэд-Iэмин Роман-поэмэ Алыхьу ГущIэгъубэ ГущIэгъущIырейм и цIэкIэ соублэ Чиркей щыщ Сэгьид Ефэнды Щихъ ЛъапIэм идеж Дунеягъэм итхьэкъуахэр Ахърэт гъуэгум къытыбошэж, Iимамхэм къахъума, Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа, щIыхь лъагэр зи шыфэлIыфэ! Ислъам дунейр зэрыщыту зи закъуэ къэзышэчыфын Iустаз щихъ Сэгьид Ефэнды, узот мы тхылъыр тыгъэу! ПщIэрэ щэныфIагърэ дэщIыгъуу, уи шыпхъу, уи мурид Саидэт-Машидэт къыбгъэдэкIыу Япэ Iэхьэ Мухьэммэд-Iэмин нэIибыр къэзэуат зауэхэм зэрыхэтар Шэрджэсейм и Iимам Мухьэммэд-Iэмин, сIых къэщидэр[1] къабылу Ди диныр, бегъымбар лъагъуэр, ФIыр гъэфIыныр, жыр псыхьауэ Зыхэлъ я пашэт Адыгэм Мухьэммэд-Iэмину щихъыр ЗэIусэр зэтыригъасхьэу Къэфкъазыр зыхъунщIэ царым УзэрыпэщIэтын къару Щыпхуримыкъужыххэм; «Тхьэм фIэфIыр къырехъу» жыпIэри АдыгэщIыр уи щIыбагъыу Улъэтат щихъ Щамил и деж, Плъырхэми уахуемыплъэкIыу. ТепсапIэм техуа фочышэу Къалугэ къалэм унэсри ФIэхъус сэламкIэ къыппежьат си адэшхуэм и адэ Тауш. Езы Iимамыр[2] фи гъуазэу Шыщхьэмыгъазэу фызауэу, Уабгъурытай си адэжьхэм IуэхущIафэ пэжкIэ фыжану. Фи псыхуэлIэр зэривгъэкIыр Къэзэуатым и гуащIэрау, Си нэхъыжьыфIу цIыху Iущхэр Зауэм щыуилIыгъэщIэгъут. Къалугэр фи зэпсэлъапIэу БампIэдэх пхуэхъуа бысымхэт Псыпэу Тхьэм къызитахэуэ Таушрэ Хьэджияврэ. Уи лIыгъэм хуэдэу си псалъэм Лъагэу зимыIэтыфыми, СызэрыхуэIэзэу пхуэстха Си усэр сIых, Iэсятыкъуэ[3]. Си гъуэгупэ адэшхуэхэм ЛъапIэ ущащIащ сэ сидеж. Усэбзэу псыхьа гухэлъыр Тыгъэу сIыпхарэт, щихъышхуэ! Зы лIыхъужьыгъэи, зы Iуэхуи СIэпымыхуу фи тхыдэр содж, Нэпсхэр шэкъэм хэлъадэуэ Зэхэслъхьар щIы къабыл, гъуазэ! КъэIуэтэж, щихъ, лIыгъэу зепхьар Хабзэ-нэмыскIэ цIэрыIуэу Уезгъэблэгъа лъэпкъ уардэм деж IуэрыIуатэ щыхъужахэр. Iислъамым, фIэщым я нэхур Яхуэпхьу кIыфIыр щикIуэтым Уэ езыми бгъэунэхуакIэт Усыгъэм и къару лъэщыр. Хьилмы[4] лъагащэм и щыгум, ЩIэныгъэ лъапIэхэм я щхьэм Унэсау уэри зэхэплъхьэт Ислъамыр зыIэт сатырхэр. И плъапIэ псом хэт теIэба? Ауэ уэ, Алыхь IэмыркIэ, Уи IитIымкIи утеIэбат Усэр щIэусэж Iэзагъым. Инхо[5] щыщ Али-хьэжыуэ Iэвар усыгъэм и адэм Зэхилъхьэгъауэ къаIуэтэж УщигъэлъапIэ тхыгъэшхуэ. «Бгы лъагэм телъэт къуршыбгъэ» КъыпфIэзыща усакIуэшхуэм Нэгум укъыщIигъэхьэну уэкIупс плъыфэ къыхихыфат. ЕджэнкIэ къэпщта щIэныгъэм ФIылъагъуным Iущ ухуищIат, Зэфэзэщ щихъ зэхэлъыкIэу Уапсыхьау жиIэт усакIуэм. Муршидым[6] и псалъэ нахуэр, Ислъам усакIуэм и хъуаскIэр, Али-хьэжы и сатырхэр Тхыдэми къыхэнэжакъым. Си гум и IэфIыр хэслъхьэурэ Щытхъу усэ зэхэслъхьэфамэ, Нэхъыжьхэм я щIыхуэу стелъым Усэ хьэтыркIэ хэщIати. Iэтауэ лIыхъужьым и цIэр ЗыгъэIуа Тхьэм и фIыщIэкIэ Усыгъэр згъэIурыщIэурэ Сытогушхуэ си къалэным. Пхуимыгъэзагъэми усэм Гъунэ зыхуумыгъуэт лIыгъэр, СоIэт цIыху хахуэм и щытхъур, Шэфэхьэтым[7] сыщыгугъыу. ШэрихьэткIэ гъэсэныгъэм Хуиущиящ а щIыналъэри, Псапэ схуэхъуным сыпэплъэу, Ар щытхъу усэу зэхызолъхьэж. Зы мащIэкIэ нэхъ мыхъуми Къысхуэарэзыну сыхъуапсэу, Iэят лъапIэхэмкIэ тхьэщIа Гум лъэIукIэ зыхузогъазэ. Еджагъэшхуэхэм къызадзащ Сызгъэусэ мафIэ лыгъэр. Уи нэфI си плъапIэу, щихъышхуэ, Мы тхыгъэр ныппэрызолъхьэ. *** Си адэжь Тауш и теплъэр Сигу къегъэкIыж уи сурэтым. Уи шыфэлIыфэу щыпкъэуэ ИкIий пкъыфIэм ситхьэкъупащ. ЛIэщIыгъуэкIэ Iэгъуэблагъэр ЗыгъэбжьыфIа а уи лIыгъэм Нобэми сыригушхуэжу Тхыдэм сыныхуоплъэкIыж. Ди адэжьхэу лIы махуэхэм Я хахуагъым и щIыхьымкIэ УэгущIэм нэса мэкъамэм Нобэ дожьу ихъуреягъыр. БлокI гъэхэр къемыплъэкIыжу, Ауэ лIыгъэ къозыт къарум Къигъэзэжын и хабзэщи IуэхутхьэбзэшхуэкIэ сыщогугъ. Лъэхъэнэу нэхъ зэIумыбзым И напэ къабзэу хэта лIыр Щалъхугъа Гонодэ къуажэжьым СыкъэкIуащ щытхъу хуэзусыну. Си гущIэм щIэлъым седаIуэу ПсэкIэ стха мы хъыбарыр Щыуагъэхэр схущIэхъуми Къабылу сIых, цIыху гъэлъэпIа. Зэгуэр, и чэзур нэсырэ Берычэт куэбжэр зэIуахмэ, ЗэхэщIыкI зиIэнум папщIэ УзэщI си тхыгъэм и гъуэгур. Щалъхуа и хэкум пэIэщIэу ХамэщIым щIым щыщIалъхьэжа Адыгэ Хэкум и Iимам, СIых мы къэщидэр тыгъэу! Илъэс пщыкIубл ирикъун ипэ Сыту уIэкIуэлъакIуэ уэ, Гонодэ къыдэкIа щIалэ, Къуршым и дзакIэи и тафэи УныщыуфэрэзэнымкIэ… Щхьэц кIыхь ухуэнахэм ещхьу Iуащхьэм едзэкIа лъагъуэхэм Сытету сэнтхым сынэсри Сеша-селIау сетIысэхащ. Телъыджэм и зы щыхьэту КъеувэкIа хуэдэ, бгыхэр КъэзыгъэщIам и дамыгъэу Лъагэрэ уардэхэу йокIуэкI. Псэ зыIутхэм псом ялейуэ, ЩыхупIэм щышынэ нэхъей, Умэзэхауэ зэхэтхэщ Зыр адрейм и щIэгъэкъуэну. Щыгум деж темыпыIэжу Бгъэшхуэхэм сыкъыщалъэтыхь Дамэхэр ину яшэщIау ФIэхъускIэ срагъэблагъэ. Алыхь талэм сэлам кърих Мухьэммэд-Iэмину щихъым! Си нэгу ар къыщIэзгъэхьэурэ КъуакIэбгыкIэр зэхызокIухь. Сысабийуэ сызытхьэкъуа Тхыдэ лъэужьым срокIуэ; «Ягурыхужа» къезгъэщIэжу И къуажэгъухэм сапкъроупщIыхь. УпщIэм утекIуэдэжынкIэ Бетэмалт икIа лъэхъэнэм. Иджы и хъыбарыр дахэу Нэстхыжыну сыкъобырсей. Хуитыныгъэм, фIэщхъуныгъэм Сыхуэзгъэуша лIы Iущым Гу хуэсщIарэ пщIэ лъызесхьэу И къуажэм зэман щызохьэкI. Пэжым гъуэгу игъуэтыхункIэ Емызэшыныр зи хьэлыр Дунейм къыщытехьа щIыпIэр Хуэму, щэхуу зызогъэлъагъу. Щихъышхуэм и сабиигъуэр ЩIэзыупскIэу щыта къуажэжьым Лъэужьу къыщигъэнахэр Къыщызгъуэтыжыну сыхэтщ... *** Лъагэу ЛъапIэр, щысхь имыIэу, Зыхуэупсэпа Гонодэ И теплъэм зыщызмыгъэнщIу Сурэтхэр щызэхуэсхьэсым Сыкъэзыша щхьэусыгъуэр Нэсу, IупщIу, нэрылъагъуу И псалъэмкIэ сигъэлъэгъуат Кэримулэхь-хьэж Iэсащэм Ди тхыдэм и напэкIуэцIхэр ЗыгъэлъапIэжыф усакIуэм: «Гъуниб хъуреягъыр зи хэку Муслъымэнхэм я Iимамыр Iислъамым къыхуеджэныгъэм КъыхуигъэщIащ» жыуигъэIэт. Алыхьым и зы IэщIагъэу ЦIыху узэщIыным хуэIэижьт. Ахърэт гъуэгум зэдытетхэм Ахърэт Iуэхухэрщ я щхьэIуэхур, ФIыхэм я нэхъыфIыжу ар Къыхахри мыбы къагъэкIуат. Тхьэр гъэзэкъуэным хуебджэ хъур Хэтыми зыщIигъэкъуэну Дакъикъэ къэси хузэпэщт Каримулэхь-хьэж щхьэмахуэр. УпщIэу хуэзгъэхьэзырахэм ПэкIуэн усэ хузхилъхьэри Нэгум къыщIигъэхьахэмкIэ Жэуап псори къигъэнэхуащ: «Хьэндэлал зыфIащ лъэныкъуэу Напэр зищIысыр фIыу щащIэм, Щымыщ хэзэрыхь щымыIэу Iиманыр къабзэу щахъумэм; Къэзэуат къыдахын ипэж ЗылI и быну зэкъуэтыфхэу Я диным къыщхьэщыжакIуэ Хуэхъужахэр къызыдэкIам; Махуэшхуэми махуаеми Хуэгъэза Гонодэ къуажэм, ПкъыкIи псэкIи къэмышхэрэ Шынэ жыхуаIэр щамыщIэм, Ягъэпэжу дэс Хьэджияв И унагъуэм щIалэ къихъуат Тхыдэм къыхэлыдыкIыну Мухьэммэд-Iэмин цIэрыIуэу. *** Ямылъэгъуа зыдалъагъухэм Ящыщрэ къыхуэт имыIэу Иджыри зы цIыху нэгъэса Мы дунеишхуэм къытехьат. И хэку щIэращIэм папщIэкIэ И фэм дигъэхуэну псори Псэемыблэжу ихьыну Иджыри зы щIалэ къалъхуат. Къуэхэм я пщIэр щылъагэрей Бгырысхэм я унагъуэшхуэр Захуэм и телъхьэ ухыгъэм Зы лIыфIкIэ игъэбэгъуакIэт. Я лъэпкъ тхыдэр зыхъуэжыфын ЦIыху щымыщIэ мы щIыналъэм; Ротбий Iуащхьэ Iэрамэшхуэр IупщIу щыплъагъуф лъэныкъуэм; Хы сыджыжь фIэкI умыщIэну ЗыкъэзыIэта къуршыжьхэр Я щхьэхэр зэдагъэпIийуэ Я пIэ щижыхьыжа щIыпIэм; Пасэ зэманым адэжьхэм ЕпсыхыпIэфI яхуэхъугъа Гонодэм щыпсэу жылэжьым Щауэжьей хъупхъэр къахэхъуат. Тхьэшхуэм и зы унафэкIэ Къыдалъхуа пщIэм ирилъапIэ Сэидхэм[1] я лъабжьэ махуэм Мис иджыри зы къуэпс идзат… Хабзэшхуэ зыхэлъ адэшхуэр Iэгъуэблагъэм щыцIэрыIуэщ, Къуэрылъхур псэбыдэ хъуну Гунаш-дадэ псори йохъуэхъу. ЖаIам нэхъыфIкIэ пэджэжу Зэрыгъэгушхуа нэхъыжьхэм Псори зи фIыщIэм и щIыхькIэ Молид лъапIэр, мес, яублэ. Тхьэшхуэм щытхъухэр хуаIэтурэ Гурэ псэкIэ зыхуагъазэ, «Мухьэммэд» цIэм хуэбгъэфэщэн ГъащIэкIэ щIалэжьейм хуолъэIу. *** Чэнджэщхэр зэхих зэпыту Iэсятыкъуэ цIыкIур хохъуэ, Адэ-анэ жыIэ Iущым ЩIэтыххэурэ къыдокIуэтей. «Нанэ» жиIэн ипэ иту «Iэлыф-ламыр» къыжьэдэкIащ. «Дадэ»-р и Iупэ къэмысу Хьэрфхэр тIурытIу къыреIуэ. КъурIэн Iэятхэр, духьэхэр ЗыщIэхэм ятеплъэкъукIкъым Акъыл, щIэныгъэ зиIэхэм И гулъытэр яхьэхупащ. Дэнэ лъэныкъуэи кърашу Къызэхуахьэса тхылъ Iувхэр ЩIеджыкI мутэхьэлим[2] цIыкIум Зэи къапэрымыкIыжыххэу. ЛIэщIыгъуэкIэрэ хьалимхэм[3] КъадекIуэкIа тхылъ хъумапIэр, Дунейм къытехьэну щIэблэм ЩIэиныфIу къыхуагъэнар Нэмэз щIыгъуэрэ Iуэху блэкIкIэ ФIэкIа къахущIэмыкIыжу Мухьэммэд цIыкIум и кIуапIэу Иджы ар къыхуэнэжыпащ. Адэми и гуапэ дыдэщ Къуэр еджагъэшхуэ зэрыхъур, Игури и псэри етауэ Муслъымэныгъэм ар бгъэдэтщ. Гунаш-дадэри мэгушхуэ: Дин щIэныгъэхэм я IуэхукIэ Хьэджияв-къуэр - ужь къинэти Мухьэммэд-къуэрылъхур - тежащ. ХьэндэлалкIэ зэджэ щIыпIэу ЩIэныгъэ зыхуэщ цIыхукIэ бейм; Гъуазэ цIэрыIуэхэр зи бэу ЛIыхъужьхэр щыхэмыщIыххэм КъащIэхъуэ щIэблэр захуагъэм Хуаущииныр я плъапIэу Ислъам-дин мыкIуэдыжынур Дерс папщIэу къыщапщытэжым, Мэжджытым къекIуалIэ цIыкIухэм ЯщIэр зынэсыр къащIэну Зэхэсышхуэ къызэхуашэс Хьалим щхьэмахуэхэр жьантIэу. Нэхъыжьхэр набдзэгубдзаплъэщ, Хъунукъым зэхамыгъэкIыу: Хэт дин къалэнкIэ нэхъ жаныр? Хэт гукъэкIкIэ нэхъ псэ къабзэ? КъурIэным нэхъыфIу къеджэм, Диными нэхъ хэзыщIыкIым, Зи гурыхуагъыр нэхъ иным И цIэр фIыкIэ Iунущ нобэ. А махуэм а мэжджытышхуэм Хьэрхуэрэгъу щызэхуэхъуахэм Яхэмыгъуащэ зы цIыкIум Нэ лейкIэ куэд зригъэплъащ. ТекIуэныгъэм зи нэ къыхуикI Сабий зэпеуэм щедаIуэм, Адрейхэм ефIэкI Iущыцэм Нэхъыжьхэр хуэфащэу щытхъуащ. ГукIэ КъурIэныр зыщIэхэр, Мэхърэджым[4] хуэIэкIуэлъакIуэр Арыххэу къызэринэкIри Iэсятыкъуэр ятекIуакъэ. «Мыбы зыгуэр къыхэкIынущ» ЖезыгъэIа щIалэ цIыкIур Нэхъыбэжым трагъэгушхуэу КъурIэн лъапIэр къыIэщIалъхьэ. *** ЕпцIыжакъым ар хьалимхэм ХуаIэта хъуэхъум, а махуэм: Щытхъу къылъысар игъэпэжу КъурIэныр и гум щехъумэ... Iислъам щIэныгъэм хуеджэныр Мухьэммэд и нэм негъэсри Щамил и деж зэрыкIуэнум Хуэмурэ зыхуегъэхьэзыр. Жыджэру Iуэхум тегушхуэрщ Нэхъ гъуэтыгъуейр зэман гуащIэм - IэщэхуэфIын зыригъэщIэху И жанагъыри ефIэкIуащ. ХъуаскIэ зылъэIэса гыным Хуэдабзэщ и IэпсынщIагъыр ЦIыхухэм зэрабгъэдэтыпхъэ Щэну захуагъэр къыхихащ. Iэпкълъэпкъыр имыгъэтыншу КъарууфIагъым хуегъасэ Дакъикъэу блэкIым хуосакъри Нэмэзыми темыплъэкъукI. Къамэи джатэи игъабзэнкIэ ЙолIалIэ и шэрыуагъым Сэшхуэм хуэIэрыхуэ дыдэ Зэрыхъунум и нэ къыхуокI. IэщэфIыр зи щIылъэныкъуэр Гур игъэзагъэу мэIэбэ, «Джатэ Iэпщэ» къыфIащыным И IэбэкIэр нигъэсыпащ. УбыдыпIэншэ къурш джафэ Шындырхъуом фIэцIэнтхъуэрыгъуэм КъыфIэмыIуэхуу зеIэтри Зэ фIэкI мылъэу зыдыредзей. Псэ щыземыкIуэ губгъуэжьым ЩегъакIуэ и жэщи махуэи, Шы гъэджэгуныр и щIасэщ, Шууей гъуазэджэу ар къотэдж. *** ЦIыхум ягухэр къыкIэрыпщIэу ПщIэ лей къызэрыхуащIынум Хуигъэхьэзыру Тхьэ лъапIэм Иш и лъэгу псынщIагъ хущIилъхьащ. Сытыуи игъэлъэпIа ар КъэгъэщIыныгъэ дахэкIэ! ЦIыхум зэрыхуэщхьэпэмкIэ Адрейхэм ар къахигъэщащ. Нэхъыжьхэм къыхуагъэнауэ Дин щIэныгъэм и хъумапIэ Тхылъ нэхъ лъапIэ гъуэтыгъуейхэм Зэзэмызэ щыбгъэдэкIым; Хуарэр жыIэщIэ ищIыну Бгыщхьэхэм щыдырихуейхэм, Игъасэм игъэунэхуурэ Хэкур къыщызэхикIухьым; Шы цIахуцIэм; уанэ зытелъым Iэджэрэ къызэтридзурэ Мывэмрэ сабэмрэ хидзэт, И Iэи и лъэи теудауэ. Къыщылъэтыжурэ шэсыжт, Тетхъуа теуда жимыIэу, И дзэ зэтырикъузэти БэшэчыкIэ зэригъащIэт. ГупылIынрэ IэщэлIынрэ ХуэмыпIащIэурэ къэтэджа Iэсятыкъуэ мис иджыпсту ГупылIи зауэлIи пхуэхъунщ. Абы къыхиха IэнатIэм СэшхуэдзэкIэ ущаупщIатэт, Фочыпэр къыптрагъапсамэ Укъызэрымытэджыжынт. *** … ЗауэзэрылIым хэхьэну IэпкълъэпкъкIэ зэпэщ зэрыхъуу; Хьэзабыри бэлыхьыри Хуэшэчу зэрызигъэпсу; И щэхур зым жыримыIэу, Зым и чэнджэщи мылъыхъуэу, Щамил Iимамым деж кIуэну Быдэу игур тыриухуащ. Къуажэдэсым ижь лъандэрэ Я хабзар IэщIыб ищIакъым, Тхыдэм къыхэщыр и щэнщи Нэхъ Iущыж кIуэ пэтми ар мэхъу. Илъэсым илъэс къыпыту Ротбий къурш лъапэм щыхохъуэ Аслъэныжьыгур кIуэцIылъу Гонодэ щыщ щIалэ хахуэр. ГущIэгъущIрэ игур щабэу Зэрысабийрэ къалъытам А хьэлыфIхэм хигъахъуэурэ ЩIэныгъэхэмкIэи зиузэдат… Даутбэч Iустазым и деж И еджэныр щынигъэсым, СугъралI[5] щат дерсхэм хуэпIащIэу Щихъ цIэрыIуэм идеж еунэтI. ЛIыхъужь куэду зыгъэсэфа А еджагъэшхуэм бгъэдэлъыр Нэсу зыIэригъэхьэри НэгъуэщIхэми ябгъэдэсащ. ЩIэныгъэлIщ хужыпIэфыну ЛъагапIэ IупщIым щынэсым, Захуагъэм и телъхьэ хъуну Къалэну зыхуигъэувыжащ… … Банэныгъэшхуэм хэхьэну Игу и псэр къыщызэщIищIэм, Емыжьэ щIыкIэ кхъэм макIуэ КъехъулIэн папщIэ гъуэгуанэр. Кхъаблэ зыфIащ шы мызэшым Жьыри щIэри къыздигъэсым АбадкIэ ямыгъэзэну - ЩIалъхьэжахэм щахощыгъуэ… Ротбий бгы лъапэм ирихри И адэм и кхъащхьэм хуэзэу ИгъэтIылъыгъат зы мывэи Умэзэхау абы бгъэдэсщ… ЩIэныгъэ куууэ бгъэдэлъыр И чэзум къигъэсэбэпу Iэлъхьэм-къулъхолэм къахуоджэ ЩIэлъхэм я псэр игъэгуфIэу. Iислъамым къыщхьэщыжакIуэ Хъуэхъуу я гъащIэр зытахэм ПапщIэкIэ Тхьэм зыхуегъазэ Гъазийр[6] къэшэфэхьэтыну. Дэтхэнэ щихъыми и псэр Къыщыгъуэзэн и тхьэлъэIуу Алыхь лъапIэм, Iэр хуиIэту, ФIыгъуэшхуэкIэ яхуолъаIуэ. «ГущIэгъур зи куэдым и деж УнапIэ щыфхухъу жэнэтыр» - ЙолъэIу Тхьэм и цIэджыр ищIу Тхьэ лъапIэм зыхуигъэщхъауэ. Абы и унафэм щIэту Езыр зытехьа гъуэгуанэм Арэзы къыщыхуэхъуну Иджыри зэ щIэлъэIужащ. Дунейм ехыжахэм я псэм Я хьэтырым дэгумэщIу Нэпс къекIуахэр илъэщIурэ Тхьэ лъагэм фIыщIэ ин хуищIащ. Гъыным зэпигъэу макъымкIэ И адэм сэлам ирехыж; «ФIыкIэ» яжриIэурэ йожьэж Iислъамыр зыпхыкIа щIалэр. *** КъурIэн щIэныгъэкIэ Iэзэр ЩызэхагъэкIыну мэджлис[7] Хьэндэлал щыщ жэмыхьэтхэм, Еджагъэшхуэхэм щаублэм ЕджэкIэ нэскIэ Алыхьыр Зыхуэупса Iэсятыкъуэ КъыщIэрыхьэн яхэмыту Хьалимышхуэхэм къалъытат. IэщэхуэфIу, IэкIуэлъакIуэу, И IэпкълъэпкъкIэ къарууфIэу Гъуэгуанэ кIыхьым ар тохьэ И натIэ итым хуэзэну. Тыгъэ къыхуащIауэ щыта КъурIэныр гум кIэрикъузэу Мэшэс Мухьэммэд-Iэминыр Щамилым бгъурыувэну. Илъэс пщыкIублым нэмысу И Iэщхьэлъащхьэр дэхьеяу Къэзэуат зауэ гъэлъэпIам ЩауэфIым тыреунатIэ». Iимам Хэкур игъэлъапIэу нысашэр едгъэкIуэкIынщ … Хэкушхуэр зэрыхэку псоууэ Зауэ губгъуэ хъуа нэужь, ФIылъагъу и IэфI зыхищIэну Иджыри нэмыса щIалэм Къыригъэшэныгущ анэри Iэсяту-анэр нысэ лъыхъущ Куэд щIауэ игъуэу къелъытэ Быным унэ хуэфащэуэ. Адэр зэрыщхьэщыкIуэтам И дыдж Iуимыгъауэу, быныр ГъасэкIафIэу зэригъэсар Къуажэм щынаIуэти, щыIупщIт. Анэм быныр зыщIипIыкIыр: Дагъуэншэн, уидз щIамыусын ХабзэфIрэ щIыкIафIагъэкIэ Хъумэн унагъуэм декIуэкI пщIэр. ЦIыхуыгъэкIэи щэныфIагъкIэи Iэсят адрей цIыхухэм ефIэкIт Къуажэдэсым ини цIыкIуи Ар щапхъэфIу я нэгум щIэкIт. Набдзэгубдзаплъэт анэри Къуэм нэрыбгэ къыхухихащ, ЯриухылIа пIалъэри Зэхэзыхыпхъэм зэхихащ. ЖэнэткIэ Тхьэм игъэгуфIэ Ахърэтым щыIэ Хьэджияв; Мухьэммэд-Iэмин лъэIэсащ Адэ щIэгуфIэн лъагапIэ. ЗэрыцIыкIурэ иджа диныр, ФIэщхъуныгъэр, фIы щIэныгъэр Къызыхихыпхъэм къыхихыу Зыдынэсыпхъэм ар нэсащ. Езым и егъэджакIуэхэм, УщиякIуэшхуэхэм, щихъхэм Абы и щIэныгъэ лъагэр Я напщIэ телът, ирищIагъуэт. ДжынкIэ зыримыкъу щIэныгъэр Дэнэ щIыпIэи къыщилъыхъуэу, ЗэщIищыпэурэ иджырей Пасэрей тхылъхэми къырихт. Дин щIэныгъэм и куупIэм Нэсу хэгъуаза хьалимыр ЩIалэ ныбжь иджыри иту Iимамым щыбгъэдэувэм; Езым хуэдэу къыбгъурытхэм Ар Щамил яхиIэтыкIри Абы и цIэ «Мухьэммэдым» Iэмин: «дзыхьыфIэ» пигъэуващ. И къуэм и пщIэм иригушхуэ Iэсят кIуэну гъуэгу теуващ Нысапхъэ пщащэм и лъыхъуу Хъыджэбз гунэсым и адэм деж. Мухьэммэд щэхуу гу хуащIау Хъыджэбз цIыкIу куэди хэщэтыкIт, Ар щызэхэзекIуэ лъахэм ЩыхутэнкIэ лъэгу ялажьэу. Батули – пщащэ щэныфIэр Дунейм къыщытехьа унэм ЕунэтI анэми нехус Лъэбакъуэхэр игъэпIащIэу. Утыку итыфын хьэлымкIэ Къуажэм зэдащIэж цIыхубзыр Арыххэу, и щхьэ пщIэ хуищIу, Уэрам кIыхьым ирикIуащ. Мыпхуэдэм деж хабзэт анэр Адэм нэхъ гъэнэхъапэныр. А хабзэм ебэкъуа Iэсят Унэр зейм деж дэкIри щIэхьащ. Иджыри анэми пхъуми Iуэхур зэхамыхыххауэ, Ар кIуэщ, адэм пэрыхьэри И гурылъыр къызэкъуихащ. Анэри, пхъури щыгъуазэу ИкIи арэзыуэ фIэкIа Адэм лъыхъу хуамыгъазэуэ Хабзэжьу екIуэкI пэтми ЦIыху ткIийхэм ягъэса цIыхубз Зыхуейм и Iэ тезгъэхуэрейм И къарур и макъми щIэлъу Адэм бзэ хахуэ бгъэдилъхьащ. - Сызыхуэзэм дзыхь езгъэзу, ЗимыIуэху хуэсIуатэу псалъэр, Си къуэ пажэ Iэсятыкъуэ Унэ езгъэгъуэтыфынкъым. Iуэху дэзыхым я зэфIэкIыр Къыщамыпсэлъ къэмынэжу, КъежьагъащIэ нысэ шэкIэ Си деж щезгъэкIуэкIыфынкъым. Ди лъэпкъ уардэ хабзэм тету ЛъэпкъитI, къудамитI зэпытщIэу Иджыри зы унагъуэ лъэщ Дыухуэну и чэзур нэсащ. Адэм къылъыс къалэн псоми Хуезгъэджа икIий хуезгъэса Си къуэ Мухьэммэд-Iэмин Гъусэ хуэщIын хуейщ Батули. НэгъуэщI зыгуэр, - хэт ищIэрэ - Уи пхъум гугъэ иритами, Мы къуажэм къыщылъыхъуэн хуейр А пщащэм хуэфащэн щIалэщ. Зэрыкъуажэу къэуварэ Сэ къыхэсхар ямыдами, Сэ езым къыхэсха пщащэр Симынысэну жысIэкъым. Си щхьэгъусэр псэужатэм Уи пхъум лъыхъуну ар къэкIуэнт, Ахърэт дахэ Тхьэм ищIыным Сэ дунейкIэ сырилIыкIуэщ. Сэ шэч тесхьэкъым Хьэджияв - Къемызэгъ зымыдэу щытар - Арэзы зэрытехъуэнум Уи Батули и лъыхъуну. Абы и псэм а здэщыIэм ЩызэхищIа къыщIэкIынущ СыкIуэу хъун хуэдэ унагъуэ И бжэ сызэрытеуIуар. Ныжэбэ кIуам сепщIыхьати Куэбжэпэм ущыбгъэдэту Сэлам зэфхыу зэвухылIат Iуэху гуэр фытепсэлъыхьыри. Мы ди Гонодэ къуажэжьым Хъыджэбз куэд я ишэгъуэу дэсщ, Ауэ абыхэм ящыщ зым Дежи лъэбакъуэ счынукъым. ЯгъэфIа мыщIыкIафIэхэр, Къуажэ щIалэм хэмыдэфхэр ДыщэкIэ зэщIэблахэми НыщIэхьэнукъым си унэ. ТхьэIухудырэ щэныфIэу Уи пхъум хуэфащабзэ щауэ Мы къуажэшхуэм, ар уи фIэщ щIы, Сэ си къуэм фIэкIа дэмыскIэ. Езы Щамил Iимамышхуэм Къуэ зыхуищIа си нэIибым[1] Уипхъу Батули къысхуептыну Псалъэ быдэ къызэт иджы. ЦIыхухъуиблым я лIыгъэр зэу Iэсят-анэу къызкъуэзыхам КъехьэкI-нехьэкI имыIэжу И нэм щIэплъэу щыжыриIэм, ЛIы зэпIэзэрыт, пщIэ зиIэу Батули пщащэм и адэм Уэшхым игъэупсыфа натIэу КъыфIэпщIэнтIар ирелъэщIэкI. И пащхьэ итщ Iэсят гуащэу Я лъэпкъ хабзэжьым ебэкъуар, Анэми, ипхъу хъыджэбзыми Емычэнджэщу къэувар. ИщIэтэкъым жиIэн адэм, Гузавэт ягъэкъуэншэнкIэ Iэхьлыхэм емычэнджэщу Ипхъу итауэ хужаIэнкIэ. Мо бзылъхугъэ гушхуа, хахуэ КъакIуэу езым и унафэр КъыпэщIэзыгъэкъуам еплъурэ Къыхуэгъуэттэкъым пидзынур. Зэрыхабзэу зегъэпсчэуIу Зэрыпсалъэн жьы жьэдешэ, Зэтетырэ щэхуу, лъэщу Жэуапыр къыритын щIедзэ. - Тхьэ пхузоIуэ, ди шыпхъу Iэсят, Уи упщIэм сынызрыпежьэн Зы упщIэ закъуэ къинауэ Сэри си гум а зыр илъкIэ. СызыщIэхъуэпсу сигу илъыр Къэбумыса фIэкI сымыщIэ, Уэ езыр лъыхъуу укъэкIуау ХьэгъуэлIыгъуэм утопсэлъыхь. Си адэ и нэр къэплъэжынщ Нобэ, зэхихыу къищIэмэ, Си пхъур уи Мухьэммэд-Iэмин Щхьэгъусэу естыну здауэ. Си къуэшхэри къыздэгуфIэнщ, Шэчыншэуи къыздаIыгъынщ Лъэпкъым абы хуэдэ щапхъэ ЗэрыхэмытымкIэ пагэу. Уи къуэм хуэбгъадэ хъун щIалэ Жьыри щIэри къубжэкIамэ, МащIэкъым, дэмысу аращ Къуажэм абы еIущэкIын. Куэд мэгугъэ икIий щIохъуэпс Щамил къуэ зыхуищIа щIалэр, Дагъыстэн псор зэрыгушхуэр Малъхъэ яхуэхъун насыпым. Ауэ псалъэ уэстыфынкъым Шэч тезмыхьэу къэзмыщIауэ Си пхъум езы щIалэр хуейуэ И унафэ зэрыхэлъыр. Си хъыджэбзыр гуфIэнуми, ЕхъулIау зилъытэнуми, Уи къуэм абы гу хуимыщIам Сэ абы сыти хэслъхьэфын? - Уэ абы хэплъхьэнум щхьэкIэ МафIэ зэщIэзгъэнэнукъым, АткIэ уэ езым къэгъэнэху Ахэр зэзышэлIэн гъуэгур. Къуажэм дэсу хъуар щыгъуазэщ ЦIыху щыпкъэу къуэ зэрызгъэсам, Ар си псалъэм фIэкIынукъым Псом ядам ебэкъуэнукъым. Псэгъу ищIынум кIэлъижыхьу НэIибыр джэгуу дэтынкъым. А шэчхэр егъэкIуэтэкIи Зыгъэхьэзыр пхъу ептыну. Ныщхьэбэ нартыжьхэм ещхьу Лъэпкъым щыщу зыхуэфащэр Фи дежкIэ неблэгъэнущи Бысымыныр уэ уи Iуэхужщ. КъыпIуплъэм укъызэмылын НитIым папщIэ зэIущащэу Щэхуу хэщэтыкIхэр псори Ягу хэщIу къызэхэзнэнхэщ. Лъагъуныгъэр зи джэгуалъэр КъуэгъэнапIэ къуэсхуэжынщи ЩIылъэр зыгъэзджыздж лIыхъужьым ХьэгъуэлIыгъуэр хузэхэсшэнщ. МафIэр гуащIэу щызгъэлыдынщ Ди лъэпкъыжь и мэкъупIэжьым, ФIылъагъу нэпцIым нэф ищIахэм Я нэхэр къэплъэжын хуэдэу. Езгъэлъагъунщ уэм щыхуарзэ Бгъэшхуэхэм яхуэдэ защIэу ЩауэщIэ ахъырзэманхэм Я зэфIэкIыр зэрыиныр. ЩIалэ щыпкъэ бгы псыгъуэхэр, ЛIыхъужьынкIэ цIэрыIуэхэр Зэхэсшэнщи зэпезгъэуэнщ Я къару ягъэлъагъуэну. Си къуэу игъащIэу къигъэщIам Мывэдз зэхьэзэхуэ мыкIуар Псэлъыхъу щауэу щыт пэтыми, ЛIыгъэ зэхэгъэкIым хэсшэнщ. ХьэщIэу къеблэгъау лъапIэхэм Я зэпеуэм къигъэбжьыфIэу А мэкъупIэм хьэгъуэлIыгъуэр Щызукъуэдиинщ телъыджэу. Гукъыдэж зиIэ къэмынэу Утыку къихьэу джэгун хуиту Я куэщI илъ шыкIэпшынэхэм Щхьэхуимыту езгъэуэнхэщ. МафIэр къеуурэ зэщIэплъа Бэрбэнжьейхэм езгъауэурэ ЛIыхъужьхэр къыщагъэлъапIэ Уэрэду щыIэр жезгъэIэнщ. Уеблэмэ лIэн къэнэнхэуэ Зи лъэ зэблэзмыхыжыфхэр Нэгъунэ къытезгъэхьэнщи Къэзгъэфэнхэщ щхьэхуимыту. Бгыхэр зыпэджэж мэкъамэхэм БгъуэнщIагъхэм къыщыдэфэхэр А си къуэм и хьэгъуэлIыгъуэм Къыщыуджыну къезджэнхэщ. Мы ЩIы Хъурейуэ кIэрахъуэм И курыкупсэм Гонодэ ЗэрыщыIэр джэрпэдэжу Си лъэпкъ псом зэхэвэзгъэхынщ. Зи лъэкI, зи IэкIуэлъэкIуагъэ Къэзылъхуахэм ямылъэгъуа Пщащэхэмрэ щауэхэмрэ Абдеж щызэдэзгъэджэгунщ. УкIытэу щхьэ щIамыгуэуэ Нэ темыплъау бланэ, жанхэр Утыку нэIурыт щысщIынщи Я зэфIэкI къыщагъэлъэгъуэнщ. Куэд щIауэ жыпIэу ямыдэж Ди лъэпкъ уэрэдыр, мэкъамэр Псом япэ сыкъыдэкIынщи ЗегъэIэтауэ есшэжэнщ. ХьэгъуэлIыгъуэм къеблэгъэну Iимамым и шу гъусэхэр Бгырыс джэгу и утыку хъурейм МэкъупIэм и деж къыщисшэнщ. …Къафэхэмрэ уэрэдхэмрэ Я гугъу щысщIкIэ укъоскIэри. Солъагъу уи фэр зэрыпыкIыр, Абы укъызригъэуIэбжьыр. Умышынэт, умыгузавэт, УкъыхэмыщтыкI дэр щхьэкIэ, Сэ зауэлI хьэл зэрысхэлъри Зыщумыгъэгъупщэ аткIэ. И зы Iэм КъурIэныр IэщIэлъщ Къамэ Iэпщэр иIыгъщ адрейм - Апхуэдэущ си къуэр къызрыхъуар Iэсятыкъуэ цIыху телъыджэр! Макъамэ, джэгу, накъырэ макъ ГъэIун Щамил имыдэми, Сызэрыгушхуэ бын пажэм Си щыпэлъагъу и нысашэм «ЦIыхухъу хьэл зыхэлъ бзылъхугъэ» ЦIэ лейр зезыхьэу екIуэкI сэ МэкъупIэм щезгъэкIуэкIынущ Джэгу… Iимам хэкум хуэфащэу. КIуэи егъэкIуэкI нысашэр, Iэсятыкъуэу къысхуашэжа! Шэшэнри Дагъыстэнри Къэзубыдыну хуэпабгъэм Залымыгъэ гупкIэм илъу Топышэхэр къыздырешэкI. И пэр уафэгум иритIэу Зызыхуигъадэ щымыIэу, Къожажьэ Воронцовыжьыр ЗауэзэрылI ублакIуэти. БжыгъэкIэ зэрынэхъ мащIэу Шэшэныр я лIыгъэ щIапIэщ; Мэз Iувым и лъагъуэ зэвхэм Бийр Iэджэрэ щыхагъэщIаи. Тхьэшхуэм и фIыщIэр иIэту Духьэ лъапIэхэр къеIущэщ, Iимамым хуэзэн и плъапIэщ Гъуэгу техьа Мухьэммэд-Iэмин. Тхыгъэм и ныкъуэр щIагъыбзэу, Зыхуихьынури имыщIэу, И анэм къыхуигъэхьахэм И гущIэр къритхъунщIыкIащ. «Мы тхыгъэр нызэрыпIэрыхьэу Нэхъ икIэщIыпIэкIэ къэсыж»,- Арат анэ унафэри, Гузэвэгъуэм и псэр иIыгъщ. Зауэ IэнатIэу жэщ-махуэм ЗыгъэпсэхупIэ щамыIэм Сытыр унэм къыщыхъуауэ ПIэщIэгъуэкIэ ираджэжрэ? Шынэныр зэи щемыпсыха Iэсятыкъуэм и лIыхъужьыгу Тхыгъэм къыхэкI нэщхъеиным ЗанщIэу абгъуэ ирищIыхьащ. Хьэлъэу зыхищIэт хъыбарыр Iэпкълъэпкъыр игъэкIэзызу, КъауIахэм я уIэгъэр Езым ил щыятэ нэхъей. Унэм кIуэжын къыхуэзгъэув Мы тхылъымпIэ гу емыIур И нэгум къыфIыщIэнащи Гупсэхугъуэ къримытыж… *** Шэшэным уанэ щытеплъхьэу Гонодэ унэсыжыну… Къуршыбгъэу зиIэтынтэкъэ - Уафэгум итщ и гупсысэр. Iимамым унафэ ищIат ЖамыIэу гъуэгу темыхьэну, Аращ къыщIехьэлъэкIыпэр И унэм кIуэжын зэрыхуейр. ПщIэрэ щхьэрэ зиIэ анэу ЦIыху Iущхэми щIыхь зыхуащIым Къыхуейуэ къыхуиIуэхуащи КъыхуэщIэкъым и щхьэусыгъуэр. ШэшэныщIым къыщышэсу Къыщежьэжа Iэсятыкъуэр МуридитIи къыдэщIыгъуу Я къуажэбгхэм къахуоблэгъэж. Куэд щIауэ зытетхэу щыта Бгырыс хабзэжьыр яIыгъыу, Жэмыхьэтыми къуажэми ПщIэ хуащIыу къыдэхьэжахэщ. ЛIэщIыгъуэхэм щIигъуу яхэлъ Хабзэм тету къепсыххэри Хэкум зэрибынхэр наIуэу «Къуршыщхьэм» къыщыувыIахэщ. «ЩIы щIагъым къыщIэIукIырэ?!» - ЖыпIэнт а макъ телъыджэкIейр: Щыми зэгъусэу зэхахащ Пшынэм макъамэр къришу?! Уи тхьэкIумэIупсыр Iузыч Урысыдзэ топхэр къоуэ, Иджыри иIыгъщ жьым, хьэуам Бэрэбанэ теуэм и макъ... И гъусэхэр зыгъэуIэбжьа Дэуэ-дэпщэ нэжэгужэм АпхуэдизкIэ игъэукIытати Дэпу ар къызэщIэуцIыплъащ. Зауэ гуащIэм щигъэунэхуау НыбжьэгъуфIу къыздишахэр Гонодэжьым къызэрыкIуам ХэпщIыкIыу хущIегъуэжахэт. … Ягу къэкIыжащ бгырыс къуажэу Бийм ихъунщIа, гъэсыжахэр «Псы Iуфэ» - зыфIащ мэкъупIэр ЗэщIэлыдэу къыщалъагъум. Нэгум щIэкIыр я фIэщ мыхъуу ЗыхащIэм дзыхь хуамыщIыжу, ЗыщIэгупсысыкIыжахэщ «Ди акъыл дитыж?» жыхуаIэу. Жэщ кIыфIым щIиуфа къуажэр ЗэрыкIыфIу щытщ иджыри... МафIэхэр щыблэ мэкъупIэм ЩыIуплъэм къигъэуIэбжьахэщ. Зэхэуэхэм я нэхъ гуащIэм Щымыдзыха Iэсятыкъуэм ЕкIуэкIыр къызэрилъагъуу Шэхум хуэдэу и фэр пыкIащ. ЖиIэнур хузэпымыщэу Шыр и Iэдэжэу мэбакъуэ, И пкъыр ерагъкIэ илъэфу, Адэ лъапсэр къызэхекIухь. И ныбжьэгъухэр къэзыгъэщта ТхьэлъэIу макъыр тхьэкIумэм итщ, ДыуэщI къыхуэсыжа нэхъей Къуажэкум къыкIуэцIрокIхэ. ПIэщIэгъуэкIэ унэм нэсын Унафэр ткIийуэ пэзубыд Хъыбар мыIупщIым и щIыхькIэ Гужьейуэ гъуэгу къытехьэжам Джэрпэджэжу бгыхэм къыщыIу Нысашэ макъыр зэхихри КъыгурыIуащ гуауэ IуэхукIэ Унэм къызэрамышэжар. *** ДэнэкIэ уплъэми къуажэр ГуфIэгъуэм къызэщIиIэтэт. Нысашэм и Iэуэлъауэр ХуищIэу ягухэм лъэIэсауэ. Нэхъри и гур игъэныкъуэт И къэшэн зэримыцIыхум, Гурыщхъуэу къыхэзгъащIэхэр Уэрэдыпкъым щIигъэхуэбжьэжт. Псысэм щыхьэщIэм хуэдэхэщ: МафIэр къауджыхь сабийхэм. «Ярэби, пэж мы тлъагъу псори?!» ЖиIэу и гур къызэкIуэкIащ. И ныбжьэгъуитIыр къыздишэу Шэшэным нэсыху къикIыжам Зигъазэу зауэ IэнатIэм Iухьэжыну игу ирилъхьащ. ЗымкIэ – Щамил и унафэр: Дэуэ-дэпщэ щымыIэну. АдреймкIэ – жиIам темыкIын Анэ ткIий IурыIэбэгъуейр. А тIуми къысхуащIахэмкIэ Абрагъуэщ я щIыхуэу стелъыр, А хеящIэхэм зэ плъэгъуэм Пэжыр нэпцIым халъагъукIыф. Чэнджэщи щымыIагъэххэу Си хьэгъуэлIыгъуэну махуэм Жей, зыгъэпсэху имыIэжу Си анэм зыхуегъэхьэзыр. СыткIэи си анэ седаIуэу СифIыр фIыхэм дэзуугуэшу Мы сыздэщытым сыкъэсащ ЦIыхухэр хьалимкIэ къызэджэу. УщиякIуэ Iэзэхэм деж Си анэ сигъакIуэ зэпытт; Муслъымэныгъэр сигъэджри Шэрихьэтым сытеуващ. Иджы си нэмыси си пщIэи Хиутэну арщ си анэ Ди къуажэ псор къигъэпсалъэу Нысашэ схузэхэзублам. Щамил унафэу иухыр ГъэзащIэныр зи пщэрылъ сэ Къемызэгъ езым слэжьын нэхъ Бгы къыстеуэмэ нэхъыфIкъэ! *** Мис ахэр и гупщысэрэ Игури губжьым гъэр ищIауэ, НэIибым гъуэгур ихъуэжри Адэшхуэм и пщIантIэм дэхьащ. Iэсят-анэм и мурадыр ЗыригъэщIэныр и Iуэхуу, Адэ и адэж и лъапсэм Мухьэммэд-Iэмин щепсыхащ. А бгырыс лIы жьыщхьэмахуэу Зи муслъымэн нэгу зэIухар И къуэрылъху-нэIибым сэлам ИкIий IэплIэкIэ къыпежьащ. Дунейм ехыжа и щIалэ Хьэджияв къэкIуэжа хуэдэ, МащIэу къэщIалэжаифэу Гунаш-дадэ жыджэр хъужаи. ФIэхъус-сэламыр пщIэ хэлъу Къуэрылъхум щызэфIигъэкIым, Адэшхуэм и нэгу щIэплъэурэ Iэсятыкъуэм псалъэн щIидзащ: - Си адэшхуэ махуэу Гунаш! Уэртэкъэ Щамил Iимамым Бгырысхэм я набдзэу ибжу ПщIэ лейкIэ яхиIэтыкIыр. Си анэу щхьэзыфIэфIагъыр Зыхинын къару зимыIэм ЛIы Iуэху и пщэ димылъхьэну Уи нэхъыжьыным сыщыгугът. Iимам хэкум къемызэгъыу Къыщалъытэн тхуэмыфащэр Къемыжьэ щIыкIэ нэхъ кIэщIу ПсынщIэу щхьэ зэпумударэ?! Хуитыныгъэм псэ щIэзытхэм Я щыгъуэ махуэхэр икIкъым! КъебгъэкIурэ имычэзууэ Пшынэ макъым укъыдэфэн? Уэ, зи IэштIымыр быдэфIу Къуаншагъэм ебгъэрыкIуэфым, Дауэрэ уигу тебгъэхуэфа ЗауэлIхэр зыгъэукIытэн Iуэху? *** Нэмысыр нуру щхьэщыту Щхьэмахуэр гуфIэу къыIуоплъэ, Iущу еублэ жэуапыр Гунаш-дадэу лIы губзыгъэм. - Апхуэдэу гуащIэу, си щIалэ, Насып щхьэ уелъэпауэрэ - Къуажэм нэхъыфIу дэс пщащэр Уэ псэгъу къыпхуащIыну къашэ? ЩIалэ ахъырзэману хъуар Уи хьэрхуэрэгъум хигъэкIри Зауэ къуентхъ лъапIэу уи анэм Уэ къыплъигъэсащ Батули. Зэрыкъуажэу сэ къихакIэ Зы лъэныкъуэу дыкъэувми Зыри къытхэткъым дэ къомым Iэсят-гуащэ къэзгъэшыфын. И ахърэт нэху ухъу Хьэджияв, Тхьэм щигъэтынш а здэщыIэм, Псэужамэ, хузэфIэкIынт Уи анэр къигъэIэсэну. ЗышыIэ, щIалэ, зышыIэи Алыхь талэм уэ фIыщIэ хуэщI, Iимамым фIы дыдэу ецIыху Уи анэ шыщхьэмыгъазэр. Зэрыдунейуэ пэщIэтми ИкIуэтын Iэмал зимыIэщ Игум ирилъхьауэ щытым ЗэрытеIэбэнури хьэкъщ. Сыт жысIэжын? Мы нысашэр Утыку къырихьэн хуей щыхъум, Сэ акъылэгъу сыдэхъуащи Къуаншагъэри дызоугуэшыж. И къуэр адэшхуэм епсалъэу Iэсят ар зэрызэхихыу, ИкIуэтыныфэ темыту Унэку дыдэм щиувыкIащ. Лъэпкъым ар хуит къищIагъэххэт И Iуэху къыхэмыIэбэну. ЩIыIэ-щIыIэу сэлам рехри И щIэупщIэри егъэкIэщI. ХъыбарегъащIэ игъуэджэр ЩIалэм къыщыдыригъэжейм, Ар зэхимыха нэпцI зещIри Iэсятым и бзэгур джатэщ. - Сытыт-тIэ ищIапхъэр анэм Псэуну къыхуэна гъащIэр Илъэс къэс зэрыхэмыхъуэр, ЗэрыIэщIэкIыр щилъагъукIэ? Ара вы пыджэным хуэдэу Си деж уныдэмыхьэжу, Анэ щIыхьыр иужь къибнэу, Адэшхуэм деж укъыщIэкIуар? Адэм и лъапсэр къэбгъанэу, Нысашэ мафIэхэр щыблэ Уи унэ уемыкIуэлIэжу Мыбы ущынэну ара? Уи Дадэ и унэжь, тыншу УщIэзгъэсын уи мыгугъэ. КIуэи егъэкIуэкI уи нысашэр Iэсятыкъуэу къысхуашэжа! Шэшэным ныскIэлъышэ уи нысэр… ЖиIам пхутемышыжыну ЛIы гуащIэ къуэм зыхуегъазэ ЦIыхухъу хьэлкIэ хэщхьэхукIа Бзылъхугъэ гуащIэурэ Iэсят: - Сыт абдежым ущIыщысыр ЩIэп жылэ кхъуэщын гъэувыжау, Си унафэ уи къалэнхэр БгъэзэщIэну умытэджу? - Сыт сщIэн, нэгъуэщI сыт си амал ЩIэп жылэ кхъуэщын щымыри Къигъэпсалъэн хузэфIэкIыу Анэ дыщэ щызиIэкIэ? Си напэ щытекIын щIыпIэм Гъэпудыным хуэхьэзыру Ди адэжь и мэкъупIэжьым Сыпшэну сомыгъэпIащIэ. ТIэкIу зыIэжьэ, ягъэ кIынкъым Уэ къызэIупха гуфIэгъуэу СифIхэм къызамыпэсынур ЗищIыс дыдэр ныбжесIэху тIэкIу. … Япэрау, сыкъыхэпшыжащ Шэшэн зекIуэ, теуэ гуащIэм, Къэзэуат зауэр щекIуэкIыу Си къуэшхэр щыкъамэ къихам. Мурид гупым срапашэу Бийм дебгъэрыкIуэну дежьау, Гонодэ къикIа хъыбарым Мыбы нэс сыкъигъэсыжащ. Гузэвэгъуэ зылъэIэсау Си гур гузавэу, сышынэу, Шы зэхъуэкIкIэ сепIэщIэкIыу, Мэз гъуэгу кIэщIкIэ сыкъэпхъэращ. Уи хъыбару нысIэрыхьам КъытщыщIа, къытхэхъухьари Гугъэзагъэу къызхэмыщым Си гупсысэр игъэутхъуащ. Щамил деж хъыбарегъащIэ Хуит сыкъищIыну згъакIуэри, СыуIэбжьа сызэкъуэхуауэ Мис, къуажэм сыкъыщыхутащ. … Бэрэбэнауэ макъымрэ Пшынэ макъамэ жьгъырумрэ ТхьэкIумэм щызэщIозууэ Гум темыхуэу укъигъачэу. Жын гуп зэрызехьэм ещхьу Ди адэм и мэкъупIэжьым ЦIыхухэр зэхэпщауэ къыщофэ Уи лъыр лъынтхуэм щигъэдийуэ. Къысхуэбгъэхьэзыращ езым Нобэрей мы зэрыхь-зэрийр. Фэуэ къуаплъынуми, цIэуэ КъыпфIащынуми егупщыс. Сигу хэщIу, сыкъэгумэщIу, УкIар, щIэлъхьар сигурыгъуу Уи хъыбарым сыкъихужащ… Зигъэувэт уэ зэ сипIэ! Зэрыт увыпIэр зыхещIэ Гум зэрехуэ, псэм егъэзджыздж, Ита псалъэр игъэпцIыжу УкI тезыр тыралъхьа нэхъей. АдэкIэ хуэмышэчыну КъэхъукъащIэм темыпсалъэхьын, Щхьэпылъэм бгъэдашау абы Пэплъэ хуэдэ ежьэу щытын. Мэтэдж пхъашэу, къару щIэлъу, Зэгъэзэхуау егупщысау, Шэч зытримыхьэж псалъэхэр Псэлъын щIедзэ Iэсятыкъуэ: - Уа си анэурэ Анэ IэфI! УищIыхуэу стелъыр схуэбжынкъым, ЗыхэзыбгъэщIакъым гъащIэм Адэ зэрызимыIэжыр. Хъупхъэ псоми сыхуебгъэджащ, Адэм игу мыныкъуэн хуэдэу, ИкIи щымыIэ пхуэзмыщIэн Захуагъэм бгъэдэт си анэ! Уи дамащхьэм яшэчын хуейт Унагъуэ къалэн хьэлъэхэр, Пхъумащ псори пхъумапхъэхэр ФIыщIэщ, арэзынщ сигу пхуилъыр. Ауэ хабзэу дэ ди лъэпкъым ЩызекIуэу хъуам я хьэтыркIэи Си гум схутегъэхуэнукъым СыщIагъэкъуаншэн злэжьыну. Сыт щыгъуэи уи арэзыныр Къэзылъыхъуэу къыбдекIуэкIа Уи къуэм, си анэ, къилэжькъым ПщIэншагъэкIэ бгъэпудыну. НэIибым и къалэн гугъур Си пщэ къыдалъхьагъэххэщи, Хуэфащэкъым бгъэулъиину Си гъащIэ гъуэгур дагъуэкIэ. Хэку джэ макъым зэхуишэса Бынхэр щIыпIэкIэ щызауэу, ЩыIэкъым сыздэарэзын ХьэгъуэлIыгъуэ нэгузыужькIэ. *** … Сэ схуэдэу щIалэу си гъусэу Зауэ IэнатIэм Iуувам Я къашэр нэчыхь къудейкIэ ЗэфIэкIын хуейуэ ягъэуващ. Зыри къахэкIакъым абы Пшынэ макъым зегъэIэтау Джэрпэджэжыр къуакIэбгыкIэм Дэз ищIу пигъэджэжыну. Абыхэм я анэхэм щыщ Лъагэу кIийуэ теувакъым Нысашэ ехьэжьа щIыным ХуэIэзэхэр къыришалIэу. КъырагъэжьагъащIэ хабзэу Хабзэжь псоми ебакъуэурэ, Бэрэбанэ еуахэкъым ПсэхэлIэм и фэм теуIуэу. Акъылыр зэзыгъэкIуэкIыу ПыупщIыпIэм щхьэр тезылъхьэ Дэуэ-дэпщэ «уадэ» Iэтар КъашэщIакъым ахэм зыми. Абы я анэхэм зыми Нэгузыужь къызэIуахакъым ЩIэн хуей дыдэр зэфIагъэкIри Я къалэныр ягъэзэщIащ. Зыщагъэгъупщэу нэгъуэщIхэр - Зауэм Iухьэу псэ зытахэр - Къафэ, джэгу, Iэгу зэрызехьэ, Теуэ-тепкIэ яублакъым. Хы къэукъубея борэну Кхъухьхэр щIэзылъафэм ещхьу Ахэм макъ лей щаIэтакъым Псыежэх макъыр щIихъумэу. Къуршхэр зыкъутэ зауэшхуэм Хэкур и зэхэзедзэну, Уэредэ купщIэншэхэмкIэ Абыхэм зытрагъэуакъым. Лъэпкъхэр зауэ гужьеигъуэм, Унэхэр абгъуэу зыкъутэм, Хихьау, ахэм къыхураджакъым ЦIыхухэр джэгу-Iэгу зэIузэпэщхэм. Зи унэ хьэжыгъэ Iэбжьыгу Къудей нэгъунэ щIэмылъхэр Абыхэм къашэу загъэнщIыху Лы гъэвакIэ ягъэшхакъым… *** - Сыт сэ сыщIыхуимытыжыр загъэнщIу лы езгъэшхыну Къуршхэм щыхъуакIуэу мэл хъушэ Iэхьэгъуншэу щызиIэкIэ? Сытыт щIэзымузэдынур Къуажэ псор пэрыхуэу Iэнэ Си гуэнхэм Тхьэм къызитауэ Гъавэр щыпкIыу изу щилъкIэ? Хьэджияв хъан лъэпкъым щыщащ, Ар кхъэм къыщIэкIынщ имыдэу Зыхуей хуэмызау, сыщысхьу ХьэгъуэлIыгъуэ сэ пхуэсщIмэ. Сэидхэм къызэпаудынщ Кхъэлэгъунэм телъ уэрдыхъур ЩезгъэкIуэкIмэ си нысашэр Адэ лъапсэм макъамэншэу. Зи ныбжь игъуэ нэса щIалэм, Зауэм екIуу хэт аслъэным Дау щхьэгъусэ къызэришэнур ЦIыхухэр къримыгъэблагъэу? Си къуэу хунэмысар зэкIэ И щIалэгъуэм къэфэн, джэгун Дауэ къэмыфэу, мыджэгуу Къызэришэнур, къызжеIэт. Уи псалъэ гуащIэ гъэхуахэм Си мурадхэр пхаудами, Сыт жыпIэми сыарэзыкъым, Здэнукъым, сикIуэтынукъым. ЛъакъуэкIэ ухэхьэу уеуэу Бэрэбанэр зэгуэбудми, ТIукIэ я макъыр нэхъ ину Къыхэзгъэхьэнущ бэрбэнжьей. Мэкъамэхэм дэжьуухэурэ ИхъуреягъкIэ зэIэпахыу Ди лъэпкъ уэрэдыр, - мыхъужмэ, - Сэ къыхэздзэнущ си закъуэ. Гонодэ дэс псори бгырыс Уджым къытехьэнхэ хуэдэу Хьэджияв и мэкъупIэшхуэм ТхьэлъэIушхуэхэр щысщIынущ. - Куэдщ, ди анэ, и чэзукъым, Ебгъэлеину игъуэкъым, Иджы уэ къэдаIуэ, кхъыIэ, Мы жысIэнур нэзгъэсыхукIэ. Пхъэ цIынэр зэщIэзыгъэстыфыр Уэ уи псалъэм и закъуэкъым, Сэ си псалъэхэр нэхъ пщтырыжщ. ТIыси къызэдаIуэи, бжесIэнщ: Я топхэмрэ, Iэщэхэмрэ ЯIыгъыу къыдэбгъэрыкIуа Урысхэм пэщIэту зауэу Сэ ныбжьэгъухэр къэзгъэнахэщ. Бийм удэIэпыкъури уэ Уи унэ сыкъебджэжащи, Ди анэ, къызэдаIуэ сэ Си унафэр бжесIэнущи. СыноупщIыххэкъым, хэт уэ Сэр папщIэ улъыхъуа жысIэу, ИреныбжьыщIэ, жьы, щIакъуэ - Сикъабылщ узмыгъэкъуаншэу. Уэ ухэдэу къысхухэпха Хъыджэбз цIыкIу зэкIуж бгы псыгъуэм, ГуакIуэу Алыхьым къигъэщIам Сыарэзыщ сыбгъэдэсын. Уи пагагъыр къэзгъэлъэхъшэн Ныщхьэбэ Алыхьыр сиIэщ, КъыздиIыгъынщ адэшхуэми, ЗыкъысщIигъэкъуэнщ лъэкIымкIэ. Уи IэштIымитIыр къэпкъузу Зыкъызомыдз, ягъэ кIынкъым, ФIэлIыкI ди адэшхуэ махуэу Игъуэджэр зимыкъабылым. Уэ ди анэу дэнэ щIыпIэи Напэм, пщIэм щытепсалъэхьым, Уэр дыдэми зыгъэхьэзыр Уи къуаншагъ бгъэзакIуэжыну. Уи къуэ, гукъанэ зэбгъэщIам И жыIэ, и лъэIу утету, Зэпэщ нысашэ дэпхыну Мыхъупхъэ къыпомыдзыну. Си еплъыкIэм и ягъэкIэ Сищхьэ бэгу къытекIэнуми, НобэкIэ сэ сыарэзынт ЕкIурэ ещхьу Iуэху дэсхыну. Нэчыхь езгъэтхынт зытхыпхъэм, Унэм щIэсхунт пшынауэхэр, Бэрбанауэри щIыгъуу, АбадкIэ къамыгъэзэну. Гъунэгъумрэ благъэхэмрэ Зэхэс дахэм къезгъэблэгъэнт, Молидаджэр есщIэкIынти Абы арэзы сытехъуэнт. Ауэ иджыпсту и чэзу? ЗэрыпхъуакIуэм диубыдауэ, Дэуэ-дэпщэ дыхэтыну, Ди хабзэр дигу къэдгъэкIыжу. Унафэщ ди Iимам Хэкум Теуэ-тепкIэ щымыщIыныр, Сэри абы и унафэм Зы залэ себэкъуэнукъым. Уэ жыпIэм седаIуэу сыжэу ХьэгъуэлIыгъуэу зэхэлъэдам Дунейм теткъым сызэрыхэхьэн УощIэ хэт срикъуэми уэ. ЩIыб къысхуэбгъазэу, ди Анэ Сыдэпхужыну щытми, И хьэтыр семыплъу хъункъым Iимам Хэкуу лыгъейм хисхьэм. Унафэр къысхуэзыгъэувыр Сыкъэзылъхуа анэрами, Зэзгъэдэну си мурадкъым Ди Iимамым имыдэнур… - Уэ бдэнумрэ умыдэмрэ Зэпишэчу щысынукъым Уэ уи анэу укъэзылъхуау Мыбдеж къэувауэ щытым. Iимамым имыдэнухэм Апхуэдэу утемычыныхь. ЗэгъащIэ, зэзэмызэи сэ Сигу зыкъыдэпщIын зэрыхуейр. Сэрщ и Iимамыр мы унэм Мыбы сыщIэсыху сыпсэууэ, Си унагъуэр – си къэралу Си IэмыщIэ илъыжыну. Уэ пхуэдэуэ пIащIэу, щIэхыу Зи псалъэ зыхъуэжым емыщхь ФIыгъуэ яхэлъщ си псалъэхэм Захуагъэр, хабзэр я лъабжьэу. Си мэкъупIэ си пшынэ макъ ЩызмыгъэIуну Iимамым Сэ зэгурыIуэныгъэ зэи ЕзухылIакъым, дэстхакъым. Пхуэмыбжын хуэдизу и дзэр Къыздишэу Щамил къакIуэми, Ар къытесшэу къэзгъэфэну СхузэфIэкIынущ, зэгъащIэ. Алыхь Лъэщым къигъэщIахэм Ярит къарум щыщ лъэщыгъэ Зыхуэзгъэщхьэпэу щызощIыж Си нысашэ сэ си пщIантIэ. Си къуэ нэхъыжьу си пажэм И гъащIэр зэтезгъэувэну Пшынэ макъыр щызгъэджэну Хьэблэм зыщызогъэхьэзыр. КъурIэн лъапIэм къигъэувкъым ХьэгъуэлIыгъуэ умыщIыну, Зэрыкъуажэу си гуфIэгъуэр Ядэзуугуэшыну сыхуейщ. Сыхуейщ си къуэри слъагъуну НысащIэр утыку иришэу, ДамитI къыстригъакIэнущ СызщIэхъуэпсу гъащIэр къэсхьам. Тхьэухуду, тхьэрыкъуэхуу Нысэ Батули и бынхэр ПIын, къэгъэхъун си гуращэщ Фэ фызэрыспIам хуэдабзэу. Япэ къэсыр хуэмыфащэу, Къыцэм хуэдэщ а хъыджэбзыр, ПхуэмыIуэтэну дахащэщ Сэ нысэу пщащэм къахэсхар. Абы ехъуапсэхэу Iэджэ ЛIэн-къэнэну къигъэнахэщ. Iэнэ абы хуэзукъуэдий Iэсят-анэ жыхуаIэр сэрщ! - Ирикъунщ ди анэ жыпIар, ЖыпIам сигум щихъуэж’Iакъым. Уэ узыхуей псор иджырещхь ПщIэуэ гъащIэр пхуэхьынукъым. Мы бэрэбанэ, мы пшынэ Зи макъ зэхэсх сигу темыхуэр, Джэрпэджэжыр щIэту къэIур Цырыцу зэпкърызудынущ. Мы хьэгъуэлIыгъуэ емыщхьыр, И макъкIэ къуажэр къэзыгъачэр ЩIэкIи къэгъэувыIэ псапэу, Уэ си анэу сыкъэзылъхуа! Лъэсу къежьау къэбгъэрыкIуэ Царым и дзэхэр иджыри Ведено къэмысхэ щIыкIэ БыдапIэм сынэсыжын хуейщ. Си гъусэ щIалэхэм сэрэ Тхурикъун хуэдиз гъуэмылэ Ди хъуржынхэм нытхуиплъхьэну Зыщомыгъэгъупщэ, ди анэ. Гъуэгу жыжьэ дытехьэжынущ, ДыкIуэнущ шыхэр зэтхъуэкIыу. Ныжэбэ нэхъ дымыгувэу Дежьэжын хуейщ дызэгъусэу. АрэзыхъупщIэ хуэфащэ Си Дадэ къыхуэзгъэнащи, Щхьэгъусэ схуэхъуа уи нысэр Шэшэным уэ ныскIэлъышэ! ФIыр къыбдэкIуэу ялъытэри Iимаму ухахащ… *** И Хэкум и пщIэр иIэту И щэныр езыгъэфIакIуэ Iэсятыкъуэу и хэкумкIэ ИIэ псори зыхъуэжыфа! Iимамым и унафэкIэ Благъэи Iэхьлыи зэринэкIыу Гузэвэгъуэ зэрызехьэм ЩIыпIэ жыжьэм щыхэува! Шэшэнымрэ Дагъыстэнрэ ЩызэтраIыгъэфа зауэм И хахуагъ наIуэ щызыщIу Мухьэммэд-Iэмину хэта! Уи гур щыныкъуэ дакъикъэм Iэхьлым улъэмыIэсыфу, ЗыкъебгъэцIыхуфащ ахэм, ФIыр зи нэрыгъыу цIыху къабзэ; Iиманым и гъуэгур зэкIэ Щыхамышыпа щIыналъэм Пасэрей хабзэр зыхъуэжу Iислъамым щыхуезыгъэджа; Хьиса и диныр и лъабжьэм ЩыщIэдзауэ зэрихъуэкIыу, Муслъымэныгъэр къащтэным ЦIыхур хуэзунэтIа ЛIыкIуэ! ЛIыкIуэ хъун яхуигъэкIуэну Адыгэхэр къыщелъэIум, Щамил Iимамым къыхихыу ЯхуигъэкIуа Iэсятыкъуэ! Лъэпкъи благъэи упэIэщIэу, Бийхэр гуащIэу щыхэбгъэщIа Лъагъуэхэм телъ уи лъэужьхэр ЩIыпIэ жыжьэм щыхэпшати! *** ЛIакъуэи къуэпси щыуимыIэрэ УзщыIэри хамэ щIыпIэу, Адыгэ Шэрджэс хэгъуэгуу ЩIыналъэ пхыдза мыцIыхум Бгы лъагэшхуэхэр щызэхэтт КъуэкIийхэм я зэхуакум дэж Псыежэххэр щибыргъукIрэ Ихъуреягъыр дэгу зэтращIэу. Бгы задэхэр къеувэкIауэ БыдапIэ нэхъыфIу уагъэпщкIу, Апхуэдэу къигъэщIахэщи Плъыру зэхэтщ къурш папцIэхэр. Дагъыстэныр уигу къигъэкIыжу Къуэхэр абдежыми щыкуут Къуаргъхэр щемытIысэхыфу, Бгъэхэрт щытIысыр а къуршхэм. Абдеж зи псэупIэ лъэпкъхэм Я къуажэхэр джабэм кIэрытт Хэти и унэ щIэхьэпIэр Къэблэ лъэныкъуэмкIэ гъэзат. Зэрыджэ къудамэ хуэдэ Iуащхьэхэр зэкIэщIэгъэсау Къашыргъэ абгъуэхэм нэхъей Лъагэу псэуалъэхэр къытетт. Абгъуэхэм ещхь а унэхэу Куэбжащхьэ хуэмазэ ныкъуэм Бжьакъуэ абрагъуэхэр фIадзэ, Псэущхьэхэр къэува хуэдэ. Я щакIуэхэу гъэсау къалъхухэм Я къуентхъыр къуршым къытырах Мэз бжэну щыта къупщхьэхэм ЯгъэбжьыфIэ щIэхьэпIэхэр. *** Мылъкур къазэрекуэдэкIыр И щхьэусыгъуэу зэзэуэж Адыгэм я Iэхэлъахэм Уи къалэнышхуэр щепхьэкIым, Захуэбгъэзау щытащ ахэм Хуеджэныгъэ нэгъэсакIэ: «Зевгъасэ Хэку хъумэжынкIэ Фи лIыгъэм зевгъэубгъуным!» Ахэм яхэтт лIакъуэшхуэхэр Я бжыгъэкIэ загъэщIагъуэу, Зыми зыхуамыгъадэххэу, Ямыдэу ар мылIыгъэуэ. Iислъам телъыджэм гунэсу И лъабжьэр щагурыбгъаIуэм, Яку дэлъ зэщыхьэр увыIэри Псори зэбгъэкIужат зэшу. ЖьантIэм дэсын уищIасэныр Зи къежьапIэ зэбииныр Къырамыхьэжьэжыххэну Ящыбгъэгъупщэжат ахэм. Ахэр зыхуебгъэджа дерсхэр Ягу пхыкIри зэкъуэш зэкъуэту, Щалъхуа Хэкужьыр яхъумэу, Бийм теуэным зыхуаузэдат. Ижь хабзэ лъэпкъ зэныкъуэкъур Къимгъэзэну бгъэкIуэдыжри Я зэхуаку дэлъа гужьгъэжьыр Цар губжьамкIэ ебгъэгъэзат. Я лъапсэхэр зэхакъутэу Гузэвэгъуэ хадза лъэпкъым Ар ягу трамыгъэхуэну Бэнэныгъэм хуэбущиящ. ЗэпэIэщIэу зэгурымыIуэ Жылэ зэхуэмыдэ Iэджэр Зэкъуэтыным епшалIэри Ныбжьэгъугъэри яхэплъхьащ. Къуэ задэхэр зи гъунапкъэ А къуэпс зэмыщхьхэм я зэхуаку Къэмыкъутэжын лъэмыжу Зэкъуэшыныр щызэпрыпшащ. Зи дамэтелъхэр тхыпхъэкIэ ГъэщIэрэщIа щхьэхуещэхэр Я унэхэм щIахужыфу Къару къызэбгъэпэщыфащ. Бийм ткIийуэ пэщIэувэныр, Захуагъэм зыщIэбгъэкъуэныр Абы хабзэ дахэ щыпщIри ТхыдэщIэу къэбгъэнахуащ. Я нэщIи, я нэмэз щIыгъуэи БлэзмыгъэкIхэм къахэпшурэ Дзэшхуэхэр зэбгъэпэщыфащ ЛIыгъэ нэсыр къэбгъэлъагъуэу. Псы уэру къывэбгъэрыкIуэ Джаурыдзэм пэлъэщыну Бгъэгушхуэфащ уи зауэлIхэр, КъаруущIэ зэкъуахыфу. Шэсыну шы ямыгъуэту Хьэблэм тхьэмыщкIэу дэсахэм Гугъэн, гушхуэн уэ ептыжат ПщIэгъуалэхэр къаIэрыхьэу. Лъэпкъ зэдауэр бгъэувыIэри Псори ныбжьэгъу зэхуэхъуахэт. Я нэхъ быдэхэри хьэзырт Ябгъэдэлъ мылъкур ятыну. *** Адыг-Абазэм я щIыгум Шэрджэсейуэ зи къурш щхьэкIэ БжьэпэкIэрэ зэпыувэм Iуащхьэхэр щызэхэухуэнам Захуагъэр, зэхуэдэныгъэр ПщIэ лъагэуэ щыпIэтыри Быдэу иризупхащ лъэпкъхэр, Iимам губзыгъэуэ гъуазэфI! Зы Iэм КъурIэныр IэщIэлъу, Адрей и Iэм - сэшхуэ къихар,- Хуитыныгъэм ныщIэбэнхэм Iэмин Iимамыр я пашэщ. Къэблэр здэгъэзар зымыщIэр Iислъамым иришалIэри Алыхьталэм и пщылIхэмкIэ И уэрхэр[1] нэхъ быдэ ищIащ. ЛIакъуэ зыхэзыIэтыкIхэр Абы щызэригъэкIужри Псори нэхъ лъэщ щIэхъукIахэщ Яку къыдэхъуа ныбжьэгъугъэм. Абы я лъэпкъ къудамэхэм ЗэгурыIуэ яку дэмылъыжу Зэныкъуэкъур гуащIэу щекIуэкIт Адыгэ-Шэрджэс щIыналъэм. Псэемыблэж тегушхуэкIэу Захуагъэр утыку щызепхьэу, Къаруушхуэр уэ къыпкъуэкIащ Iимам унафэр пхыбгъэкIыу. УщиякIуэхэм Iимаму Хаха Щамилыр уэ гъуазэу Къыхэпхыри удэплъеурэ Ахэм я гум удэхьэфащ. Щамил Iимамым и дзыхьыр Къызэрыуигъэзым ифIкIэ Я дзыхь зрагъэз Iимаму Адыгэхэми укъащтащ. *** Сэшхуэр зыIыгъ уи Iэпщэхэр Хуэш хэхьэху йомыхьэхыжу УапэщIэтакъэ уэ, щихъ нэс, Топ лъэщхэр зи Iэмэпсымэм. А щIыналъэу зи лIакъуэ къэс ЛIыгъэу хэлъым ирипагэм; А лъэпкъыжьхэм я лъахэхэу Ныпхэр уардэурэ щыхуарзэм; Уэ уи хахуагъыр и лъабжьэу Лъэщу ува бэнэныгъэр ИгъащIэ псокIэ тхыдэнущ IуэрыIуатэу кърахьэкIыу. ИкъукIэ гугъут а къэлэнри Зыми хузэфIэкIынтэкъым Езы Алыхь Лъэщу Иныр ЗыдэIэпыкъуахэм фIэкIа. Шапсыгъ бын ахъырзэманхэу ЛIыхъужь лъэрызехьэ гупым Абэзэх щIалэ лъагэхэр, ЗауэлI щыпкъэхэу ябгъурытщ. Убых лъэщ икIий хахуэхэр Епхъуэу шы жэр и сокумкIэ Яубыду къэзгъэувыIэхэр Зэкъуэшыныгъэм зэпещIэ. КъикIуэт зымыщIэ бжьэдыгъухэр, Иджыри садзхэр, мэхъуэшхэр - Лъэпкъи, къуэпси, лIакъуэхэри Псори зэгурыбгъэIуахэщ. Бгырысхэми тафэтесми Я зэхуаку дэлъ зэныкъуэкъур Яхуумыдэу адыгэ псор Зым хуэдэу, зэкъуэт пщIыфахэщ. ХамэщI къикIа зэрыпхъуакIуэм IэштIым къузам хуэдэу ткIийуэ Хуэфащэр езыщIэжыфын Iуммэт быдэ зэбгъэпэщащ. Уи унафэхэр ягу нэсу А лъэпкъ псори зэгурыIуэу ФIЫР КЪЫБДЭКIУЭУ ЯЛЪЫТЭРИ Я IИМАМУ УАГЪЭУВАЩ… Шэрджэсейм япэу къэралыгъуэ щаухуам… *** Щамил и лIыкIуэ нэIибым Адыгэхэр къыкъуэувэу Ар Iимаму зэрыхахар Зэхахыу къащIа нэужькIэ; Рэмэнхэмэ[2] къатепщIыкIау Дунейр къапхъэнкIэ зыуфэбгъуа Бий кIэуфIыцI зэрыпхъуакIуэхэм Я нэгухэр губжьым иуфIыцIат. Лейзехьэуэ, лъыгъажэ гуащIэу ЩIыналъэхэр зэрызыпхъуэр, - Урысей зыфIащ «лIыхъужьыр» - ФIы дыдэу ецIыху Къэфкъазым. ЦIыху хахуэхэм я нэхъыфIхэр БэуапIэ ирамыт, яукI, «Хабзэшхуэ Iей» яхэлъымкIэ Дакъузэ зэпыт Къэфкъазыр. Абы, - жаIэ,- а Къэфкъазым Лъэпкъ жыIэмыдаIуэ щопсэу; Кхъэ цIэимыIуэхэр щыкуэдщ Кхъэщхьэдэсэ ямыIэххэу. Абдежым, Адыгэ Хэкум Япэу тепщэгъуэ щаухуэу, Лъэпкъхэм зэдэарэзыуэ Iимамым жиIэр къыщащтэм. Урыс царым а хъыбарым И акъылыр зэу щхьэщихуащ, Зэпимыгъэужу къигъэхьт Унафэ, и дзэзешэм деж. ИгъэткIийуэ къариухылIащ ЩIыналъэм исыр игъащтэу БыдапIэхэр яухуэну ЕбгъэрыкIуэр щIэхуабжьэну. Лъэпкъ дэкъузэн гъэкIуэдынкIэ Зи цIэ Iурейу щыта тетым Унафэ ищIащ щIэгубжьау Теуэн, хъунщIэн, гъэсыжынкIэ. АзэнджапIэхэу махуэм тхуэ «Аллахьу Акбар» дахэмкIэ Къыщыджэхэр къакъутэну Мурадыр унафэу къахуещI. ГущIэгъу къытхуэфщIи дывмыукI ЖаIэу лъаIуэ муслъымэнхэр Я унэхэм щIэвубыдэи Псэууэ щIевгъасхьэхэ жиIащ. Алыхьыр зи щIэгъэкъуэну ТекIуэныгъэр зыхь муридхэр Унафэ ткIий къыдигъэкIащ Жыг къэс щхьэпылъэ щащIыну. *** ХамэщIхэр зэзыпхъуэрейуэ Зауэ унафэхэм есам И унафэм лъыр къыпыжу Иджы Къэфкъазым къынэсащ. Я гурейхэр щIагъэбыдэу Зыхуейр пхагъэкIыным папщIэ, Иужь иту къыкIэлъагъэс Пащтыхьым и мылъку хьэрэмыр. БыдапIэхэмкIэ къэфщIыхьыж ЩIыгуу къатефхахэр жиIэу КъыхаутIыпщхьа дзэ пашэхэм Унафэ ткIийхэр къахуэкIуащ. БгылъэхэмкIэ, къуэкIийхэмкIэ ЗэпэщIэхау щыт щIыналъэм Я блынхэр уафэм нэс дэкIыу БыдапIэ щыфщI яжыриIащ. Бгырыс щIалэ псэ емыблэ Уафэм ит бгъэр зубыдыфхэм Я къарур зырыщIахын Iуэху Лэжьын унафэ къахуэкIуащ. Чэщанэхэр, плъырыпIэхэр Iэщэи топи зымыIыгъхэу IэштIым къузау лIы гуащIэхэм Ди нэгу щIокI къызэращтэфыр. ЛIыгъэмкIэ зыдгъэщIэгъуэну Лъагэу дэтщIей быдапIэхэр Тхурытхуурэ къебгъэрыкIуэу Къызэрагъауэри дощIэ. *** - «Белэрэчэнсч»-ым и блынхэр ХуэдищкIэ нэхъри бгъуэ фщIы, ПсыдэтыпIэ куухэр ефIтIых «Лэзэрэвсч» ихъуреягъкIэ! «УэсыпскIэ»-м и блынхэм и щхьэм ДэпщеипIэ къыщывмынэ, А быдапIэм и блын лъагэм Дэмэдазэу иIэр зэхуэфщI. БдзапцIэ ткIуакIэ зи мывэхэр ЗэтегъэпщIа «НикIуэлевскIэр» ЩIэрыщIэу зэщIэвгъэбыди Хъумэн Iуэхур щIэвгъэткIие. ЩIэрыщIэу дыухуэжа къудей «МыхейловскIэ»-уэ абыхэм ЩIэх-щIэхыурэ зэтракъутэр, Щыпхрахам мывэ щызтефлъхьэ. ЗэрытщIыу занщIэу якъута «КIэмынэмосткIэ» быдапIэр Топхэр нэхъыбэу къефшалIи Нэхъри нэхъ быдэжу фыухуэж. Зэи зызмыту мыжыIэщIэ Си унафэр зымыдэ гуп, Зывгъэхьэзыр фэ си губжьым И шабзэхэр къыфтехуэну». *** Пащтыхь бзаджэм, царкIэ зэджэм, КъатырищIыхьа унафэр Къэфкъаз щIыналъэм къэсыхукIэ Хэгъуэгум Iимаму къащтам, Iимам Щамилыр зи щапхъэу Зым пимыкIуэтын зигу илъым ЛIакъуэхэр зэришалIэри Лъэпкъхэри зэгуригъэIуат. Iимам Щамилу пашэным Хурагъаджэу хуагъэсам деж ПсэкIэ лъатэт зэзэмызэ Зауэхэм дыхэтыну хуейт. Къэзэуат хуэпабгъэ лъэпкъхэм Iимаму хаха Iэминыр ЗэрыпхъуакIуэ бий сатырхэр Я сэшхуэхэм щыхигъэщIкIэ Я гъащIэу къагъэщIа лъандэ Зэбия лъэпкъхэм я зэхуаку ИгъащIэкIэи мыкIуэдыжын Зэкъуэшыныр щигъэбыдэт. Жырыр зи куэд цар залымым Щымысхьыжыххэу яхуиутIыпщт Хэкум мывэу илъым хуэдиз Топышэрэ фочышэрэ УмыщIэнт зигъэхьэзыр фIэкI Уэгум ит бгъэшхуэр щымыхъуа Зым и унафэ щыпхымыкI Къуршхэм я щхьэкIэр фIихыну. «Нэур», «Клухор» бгышхуэхэу Зи щыгухэр уафэгум нэсхэр, «Iуащхьэныкъуэ» бгы быдэуэ ЦIыхубэм фIыуэ ялъагъур. Дыгъэ бзийхэр зыдэмыпсэ «Марыхъу», «Сэнчар» къуэкIийхэми Урыс топышэр долъалъэ Сытри зэтракъутэн гужькIэ. ЯлъэкI къагъэнакъым ахэм Езыхэм яубыдын папщIэ Куэдыгъэрэ бзаджагъкIэ Зейм къыIэщIагъэкIа щIыхэр. БыдапIэм ебыдэкI къуршхэм, Ажэ фIэкI зыдэмыкIыфхэм, Адэжьхэм фIащар яхъуэжри Я нейкIэ зыхуей цIэр фIащыж. ЗыIэщIаубыда щIыпIэхэм Я нэпкъыжьэ тырадзэрэ Я икIагъым узэщитхъыу БыдапIэхэр щагъэувау. Я гъуэгур я занщIэращи, Я лъэ зытеува щIыпIэм Мывэ къалэр щыдыращIей, Лъэпкъхэр гъэру яубыдауэ. Ижь-ижьыж лъандэрэ хэкур ЗыгъэлъапIэу зыхъумахэр Бэлыхь тIуащIэм хадзэри КIуэдыжыпIэ щызэхуахус. Япэу къыщIэкI дыгъэм и бзийм ФIэхъус езых къурш лъагэхэм Зэритепщэр ягъэIуну Чэщанэ лъагэ яухуэ. Мывэм, гъущIым хэщIыкIаурэ Къурш къутахуэхэм я щIыIум БыдапIэхэр щыдыращIей Блынхэр лъагэу яIэтурэ. *** Уеблэм ахъшэкIэ ягъапцIэу Бийм ящэхуахэр нэгъунэ ЩIегъуэжу къагъэзэжурэ Iимамым щыкъуэувэжам, Урысыдзэ бжыгъэншэри Хьэш IэщIэкIа хьэIуцыдзу Зыкъуадзыну хьэзырхэти Гузэвэгъуэ гъэбагъуэхэт. БгъэрыкIуэныр я жэуапу Урыс полъкухэр щызтракъутэм, Адыгэхэми ялъэгъуащ Iимам зэфIэкIыр зынэсыр. Абы Тхьэр щигъэлъапIэкIэ Мыхейр фыгъуэм зэщIиубыдэу Хейм гурыIуэти икIий пхыкIт Iимамыр Тхьэм къазрыритар. Бегъымбар лъагъуэм темыкIыу Щалъхуа хэкум пэIэщIэми, Щамил Iимам унафэкIэ Ар захуагъэм щхьэщыжыми; Абы и псэр унэм еIэт, И гур зэв къыщыхъуи щыIэт, Ауэ къигъэлъагъуэтэкъым ЩIыпIэ жыжьэм щыбэшэчти. Къарууэ иIэр зэхилъхьэу Зауэ щысхьыншэм щыхэхьэм, И гупсысэ тегъэщIапIэт И хэку телъыджэр къелыныр. *** Абы къыбгъурытт щIалэхэр, Адыгэ-шэрджэсхэм щыщхэр, Уи дзыхь зэбгъэз хъуну дэнэи Укъыщызыгъэпэжынухэр. И щIыбагъымкIэ къыщеуэу ЯукIыну зыщашэщIым, Ар къригъэлыну хьэзырт Къыбгъэдэта Джырандыкъу-бэч. Зэхэуэм щылъэрызехьэу, Сэшхуэ гъэбзэным хуэIэзэт Къады-бэчу IэкIуэлъакIуэр - Дыгъужь-хьэжы лIы хахуэри. Щыхуей сыхьэтым къагъуэту Сытым дежи Iэпыкъуэгъуу Къару хэмыщI, Iуэху куэд зэфIэхт Хаджиявхэ Чэлэмэт-Бэч. Чэбэ гъэбжьыфI мывэ фIыцIэм Ебэури къару хагъэхъуау, Сэшхуэм IэмпIэу ириджэгуф РэIис хьэжыи, Сатыр Бэчи. Нэкуыгъуэм щылыд я хэкур Зезыпхъуэну къэкIуа уэрхэр[3] Щысхьыншэу иупщIатэу зыхуыж Исмел-Бэчурэ IэщафIэр. ХьэщIэ емыгъэблэгъау дзэр Хэкуэгъум хуэгущIэгъуншэр ЗэхэзедзэкIэ зыгъаскIэ Мущэууэлэт-Бэчу Хьэжы. Уи хъуреягъ щызэрубыдат Хьэж щIынкIэ зызукъэбзахэу Зи IуэхущIафэр къэтыншэхэр Сыт ищIыс фIыми хуэщIахэр. Мэхъуэшыкъуэр, хьэтыкъуейхэр, Мыпсалъабэ лабэдэсхэр Iэщэм хуэIэзэ быныфIхэу Бжьэдыгъухэр, абэзэхэхэр. Я псалъэм хуэпэжу псэуа Адыгэмрэ шэрджэсхэмрэ Хамэм къагъэува къапхъэнхэм Пэлъэщ гъалгъай, кIэмыргуейхэр. Зи шы сокухэр телыдыкIрэ УафэхъуэпскIым хуэдэу жэру, Шым уанэ псынщIэу тезылъхьэ Убыххэмрэ шапсыгъхэмрэ. Дэтхэнэ зы лъэпкъ хейрами Зауэм Iухьэн къару езыт Мухьэммэд-Iэмин Iимамым ТекIуэм фIэщкIэ хуегъэхьэзыр. Щамил хуэбгъэдэн Iимаму А щIыпIэ жыжьэм щемышыж Къатеуэ бийхэр псори хъым Ириубыдэт щихъ щэджащэм. Адыгэ цIыху щхьэхуитыжхэм ЛъэныкъуиплIкIэ къебгъэрыкIуэу ЗыукIыну зи гугъуа полъкухэр Зырызу щызэтрикъутэм. УпщIэтэнымрэ укIымрэ Еса дзэ хьэщхьэрыIуэхэм ЩагуригъаIуэм а щIыпIэр Я лъэгу зэрыщIэмыувэнур; Илъэс иджыри дэмыкIыу ЦIыхум я дзыхь къырагъэзу Щихъыр я Iимаму хахыу А гъуэгу махуэм щытеувам; Нэ жанкIэрэ абы зиплъыхьт Лъагъупхъэ псори къилъагъуу, Щигъувт къуэшын, ныбжьэгъуныр Яку илъыну гъащIэ пIалъэу. Зи хуитыныгъэм хъуэпсапIэу ЩIэбэныфхэм я щIыналъэм Япэ дыдэу лъэпкъ тепщэгъуэ Щиухуат абы Шэрджэсейм. ЦIыхубэм къыхишри лъэпкъ бын Унафэ зыщIыф игъэуващ Зэныкъуэкъумрэ зэбиймрэ ЩиIэтыжащ абы я деж. КъурIэным щапхъэ къыхихыу Бэм еущиет зэхимыдзу, Псэ къабзагъэу къызхуриджэм ЦIыхур нигъэсат Iимамым. Муслъымэн щIыналъэ Iэджэм Хъуэхъухэр къыхурагъэхьт абы Я Iимамым иригушхуэт ЦIыхубэри лъэпкъхэр псори. Ахэм хуитыным хуезыджэн Iимам нэса ягъуэтати, Шыкур-нэмэзкIэ фIыщIэ ящIт ЩIыналъэм ис муслъымэным. Iэсэнымрэ щхьэгъэщхъымрэ Ижь лъандэрэ зымыщIэхэм Иджы щихъым яригъащIэт Абы щхьэкIэи ягъэлъапIэт. ЦIыхубэр зэгурыIуэмэ, Къуршхэри пхаудыфынущ. ЯщIэжт зэрытекIуэнури АбыкIэ ягу ящхьэ зэтелът. ЦIыхубэр дэзыкъузэ ем, Цар ябгэм пэщIэувэну Къару къызэкъуахыфати Ягухэр игъэмамырт абы. ТегъэщIапIэу къищтэт, Щамил И жыIэгъэ купщIафIэхэр Тепщэгъуэ лъэ быдэ махуэ Зыухуэфа хъэлиф пашэм. Адыгэ щIыналъэм псоми Iимам Хэкум щыхабзэмрэ ЗэхэтыкIэ ефIэкIуарэ Щызыгъэувыфа хьэфизым[4]. АдыгэщIу щIы дахащэм Япэ дыдэу, зыщIэхъуэпса Къэралыгъуэр щаухуэгъам Лъэпкъхэр псори арэзыхэт. Щамил къаIэщIэкIыжри къэкIуэжауэ къыдозауэ… *** Сыту гуауэшхуэ мы къэIур! И натIэ къыритхэ псоми Бэшэчу пэщIэт Iимамым Сэшхуэр сампIэм ирилъхьэжащ. Зы напIэзыпIэм уафэгур Зэгуэзыча уафэхъуэпскIыу КъалъэIэсащ а хъыбарыр Зэхэзыхыр дэгумэщIу. КъаскIэри зиубыдыжащ, ар Мухьэммэд- Iэмин къыщищIэм И Iэхэр уафэмкIэ еший ТхьэлъэIу къабзэхэр къеIущэщ: «Уэ си Тхьэуэ лъапIэу лъагэ! Сомыбгынэ сэшхуэр сIыгъыху, Щамил арэзы зытехъуэн ЛIэжыкIэ сэ натIэ схуэхъуху!» *** Хъурыфэу и пыIэ фIыцIэм ЩхьэешэкI хужьыр ешэкIащ И бгъэм и бгъуагъкIэ хьэзырхэр Гыныр ярызу ирокIуэ. Iэщхьэлъащхьэхэр дэхьеяу Къэзэуатым ар хуэузэдащ Хужьу и Iэпщэ бланэхэр Жыжьэу укъаплъэмэ уолъагъу. Бзу хуэдэ зыIэтыгъуафIэу И хуарэр жану мэпкIатэ, Буракъыр уигу къигъэкIыжу Уафэм дэлъэтеин къудейщ. «Жыжьэщ, иджыри къэсакъым»,- ЖаIэхэурэ бэлэрыгъа Биидзэм хэта зауэлIхэр Я псэ еджэу шы лъэгум щIэлъщ. Шхуэм дзэщхьэлымкIэ йоныкъуэкъу, Жьэм жьэдэлъ гъущIыр егъэныщкIу, И дзэхэр зэригъэшхыурэ И фIалъэхэр егъэдалъэ. И бгым исщи шыуей хъыжьэ! Зэхэуэр ежьэмэ, хахуэр Зэрыримыгъэхуэхынум ШыфIыри и фIэщу хуосакъ. «Ура!» - хэр я уэрэдыпкъыу КъыраутIыпщхьа джаурыжьхэм Я пщэ хуэхэр ирибзэнкIэ Пхуэмудзэгужын сэшхуэри… Нэ фыгъуэхэр къэзыгъэушу Зэ еуэгъуэм шыри шури Зэгуэзгъэхуфын къарууэ КъызэрыхэщхьэхукIари… Тхьэ Иным къуимыпэсамэ Уэ зумыгъэгъутыфыну Дэнэ щызауэми текIуэн Насыпу къылъагъэсари... Щамил Iимамым и закъуэт Къэзумысыфыр а щэхухэр, Гимры щалъхуам и увыпIэм Иджы Гонодэм щыщыр итщ. Хъыбар хьэлъэр гущIэм пхидзу УафэхъуэпскIыу псэр щилыгъуэм, Зыкъэмынэм къагурыIуат Зэрыхъунур Iэмин - Щамил. Муршидым и къару лъэщу Дэтхэнэ зыми къыкъуэтыр Нэр зымыгъаплъэ гухэщIми ДэIэпыкъуэгъуу щызыхащIэт. Щыгъуазэхэт гузэвэгъуэм КIуэ пэтми нэхъ лъэщ щIэхъукIыу Бэнэныгъэр езыгъэфIакIуэ Бгырыс къэс зэрыщамилми. Илъэсым илъэс къыпыхъуэу Джаурыдзэр зыгъэгумэщI Iимамым и къаруушхуэр НэIибыми зэрыхэлъыр... ЩIылъэр дэзджызджу пщIэгъуалэ ФIалъэкIэ мащэ къизытхъум Ехь ди Мухьэммэд-Iэмину Адыгэ хэгъуэгу Iимамыр. Щамил Iэрыубыд зэрыхъуам ЩыкIэ нэхъ бланэ ищIауэ Сэшхуэр IэкIуэлъакIуэу мабзэ Бий къэбгъэрыкIуэм холъэщыхь. Къэзакъхэр зэкъуэлъэдэжау Бжыгъэбэуэ къэпхъэрыми, УпщIэтау щонэхэ щIыгум Хуэбж яребж зыбжыну хуейхэм. ЛIыгъэрэ хуэшэрыуагъыу АпщIондэху зыми имыIа Iимам Мухьэммэд-Iэминым Зауэ губгъуэм къыщызэкъуех. ЗауэлIхэр зэдожьу гъуагъуэу: «Щамил къаIэщIэкIыжащи Уинэр щызыпхъуэ и сэшхуэу БлэмыIэбыкIыри IэщIэлъщ!» Бийм «жэхьэнымэр» и Iэхьэу Зэхэуэ гуащIэр иухри Муридхэм къащта быдапIэм И щхьэм бэракъыр къыфIащIащ. Зауэ етам и дамыгъэу Ислъамым и нып удзыфэр БыдапIэ шынагъуэм хуарзэу Лъагэрэ уардэу къыщхьэщытщ. Бийм къырищIар ирищIэжу Джаурым пэщIэт нэIибым Сэшхуэу ирихьэх мыхабзэр Иуыдзэгуху игъэдэлъащ. А махуэм къыщыщIэдзауэ ЗыкъамыщIэжу мазищкIэ Гужьей зыгъуэта сэлэтхэм Фэбжьышхуэ а теуэм хахащ. Я джыназ зэфIэнэжахэм НэкIэ ялъагъур щIахъуымэ, Гузэвэгъуэу къатепсыхар ХэIущIыIу ящIыну мэшынэ. Нэхъыщхьэхэм щабзыщIынут Зыхуамыгъэфащэу къэхъуар, «Щамил къакIуэу къазэрытеуам» Темыпсэлъыхьар укIуэдыж. Адыгэ муридхэм ягухэр КъекIуэкI хъыбарым хуэзагъэу Мухьэммэд-Iэмин и сэшхуэм ХуэIуар езым лъагъэIэсыж. - Дакъикъэ закъуэ Щамилу Закъыщызгъэхъун слъэкIамэ, Си зэхуэдэщ сыт хуэдэкIэ Си псэр си Тхьэм сIихыжми. *** Бийр цырыцу зудыныщIа Зэхэуэ гуащIэр щекIуэкIым, Хы фIыцIэмкIэ щыIа Щамил Зауэм хэтауэ щыжаIэм; Инэралым а щэху бзыщIар Царыжьым Iэригъэхьэжащ, Модрейм ар и фIэщ хуэмыщIу Тхар ичатхъэри къэлыбащ: - Сыт хъыбар иджы къиIукIыр? Адыгэ щIыналъэу зи лъэпкъ Ныкъуэкъуэхыр зэрыкъуажэурэ Хым щIэдгъэтIысыкIам я деж? Дау, я унэхэм къыщIэтхуу Зэрыунагъуэу етхужьахэр Ди зауэлIхэр я нэщанэу Хахуэу къызрытхэлъэщыхьыр? Мэл гуартэм хэхьа дыгъужьу КъыпэщIэхуэм фIы щIезмыгъэх Сыт хуэдэ пашэ аргуэрым А щIыналъэм къыщыунэхуар? Гимры къуажэм къыдэкIауэ Къэлугэ дэзубыдэххар НытIэщIэкIау къыдэзауэу Сыт гъэщIэгъуэн мы зэхэсхыр!!! ПхуигъэкIуэтын уфIэмыщI зэикI Телъыджэхэр къэзыгъэхъуфхэр… Зэ къызэпыдудын хуейкъэ Iимам Щамил и щытхъупсыр!!! Ешахэщ, къару яIэжкъым, Щыгъыныджэщ, мэжэщIалIэщ Адыгэр идгъэкIуэтыну И пIалъэр къэсакIэщ иджы. Илъэс дапщэ хъуа зауэ мыр? Нобэми дапэлъэщакъым! Къэфкъазыр иджы IэмыщIэм Изубыдэну игъуэ хъуащ. Щамил дзыхь къыхуищIу абы КъигъэкIуа Мухьэммэд-Iэмин Къулыкъум къытегъэкIауэ ЩIыналъэр егъэбгынапхъэщ. Куэдщ! Апхуэдизрэ унафэр КIыхьлъыхьу къыралъэфэкIкъым. Сэ жысIэр зымыгъэзащIэр Къызэлыным щыремыгугъ. Адыгэр зыIэщIэслъхьэным Сэ мылъкуу тезгъэкIуэдахэм НэгъуэщI къэрал къэсщэхуну Сыхуеями, къысхущIэкIынт. Сыту пIэрэ фэ хуэмыхухэм А лъэпкъхэр зэфIагъэнэфу ТIасхъэщIэхи епцIыжакIуэи Къэвгъуэту щIахэвымутIыпщхьэр? Хузэтефкъутэ и уэрыр Щамил къаубыда нэужьи Къыдэзэуэныр щызмыгъэт Мухьэммэд-Iэмин нэIибым! ХэвгъащIэт а зызыгъэлIу Адыгэ лъэпкъхэм я пашэу Шапсыгъхэм я тхьэIухудхэм Зэпеуэу гущIэм щагъафIэр. КъыгурывгъаIуэжыт абы Езым нэхърэ зыбжанэкIэ Нэхъ лъэщу щыта Iимамыр Дэ ди IэмыщIэ зэрилъыр. Хы ФIыцIэ куейр зэрыщыту IэпщэкIэ зыIыгъ нэIибыр Ди лъабжьэ, хъужыххэнумэ, ЗэрыщIэувэнум фелэжь. IэщэкIэ гъэнщIа чэруанхэр ФутIыпщ Адыгэ щIыналъэм ДяпэкIэ Дагъыстэным Дыщыхуеижкъым апхуэдиз. Ажалыр къезыугуэшэкIыу Щыта адырей «лIыхъужьыр» «ХьэщIапIэ» къызэрыфшакIэу Мы «лIыхъужьри» къысхуэвгъэс. ФытеукIытыхьыж фэ къомыр ЧэнджэщакIуэ фыкъысхуэкIуэн. Фэ фи акъыл хунэсыпхъэщ Абдеж къыщезэгъ амалхэм. Абы адэкIэ мы Iуэхум Къытезгъэзэн фи мыгугъэ ФатекIуэпауэ фи хъыбар ИкIэщIыпIэкIэ къысхуевгъэхь. *** …Урысей царым и тхыгъэу Нэ зытырамыгъэплъам Итахэр, къанэ щымыIэу, Адыгэхэм яхъумэжащ. Муслъымэн псэемыблэжу Мухьэммэд-Iэмин нэIибым И фIыщIэр ящыгъупщакъым НыбжькIэрэ зэIэпахыурэ. ЦIыхухэм гъуазэ нэсу яIэщ Къэхъуну щIэблэм я щапхъэу ПщIэшхуэ иращIэкI, яхъумэ ЩIыхь ин зыхуэфащэм и цIэр. IуэрыIуатэм хуэкIуэж лIыгъэу ЦIыхухэм ягухэм имыхужым Нобэи ныжэбэи топсэлъыхь ЛIэщIыгъуэхэм къыпхыIукIыу… …Уеблэмэ Абазэ дадэм, - И ныбжьыр Алыхьым ещIэ,- Псэууэ уи нэгу къыщIигъэхьэу И теплъэр къигъэлъэгъуапэт. …ДэIэпыкъуэгъу къазэрылъэIэс Гъуэгухэр царым зэпиупщIу, Зэуэну къару зимыIэж ЦIыхубэр тхьэмыщкIэ щыхъум; Адэжь лъапсэу я къуажэжьхэр Бий урысхэм зэтырагъасхьэу Фэмрэ къупщхьэмрэ хуэкIуахэу Лъэпкъ къомыр къыщырахужьэм; Тыркум ягъэIэпхъуэн цIыхухэр Iуву зэрыс кхъухьышхуэхэр Цар ерум и унафэкIэ Хы щIагъ щыщIырагъэлъафэм; Алыхь лъапIэм гъэунэхупIэу ЦIыхум къылъыкъуих гугъуехьхэр ЦIыху бзэджагъкIэ бжыгъэншэ хъуау Къуэпси лъапсэи щызэщIилъащIэм… ЛIакъуэ хэгъэщхьэхукIахэр Дуней къутэм и борэным ЩыIаи ахэр - щымыIахэи - Лъэужьыншэу щыхихьэжэм... ЖаIэж а зэман гугъусыгъуу ФIы гугъу щызэхамыхыжым, Я гугъэр яфIэкIуэдауэ ЦIыху цIыкIур щызэтекIуадэм Топхэр къырашауэ хэкум КъыдэбгъэрыкIуэ мыгъуэдзэм Зи губжьыр ятезыкъутам И хъыбарыр къызэрысар. Гъуниб Ищхъэрэ Iимамым Къэзэуатым хуиIэта сэр Зэрырилъхьэжар иджыри ЗымыщIэ Мухьэммэд-Iэмин Ислъамым и бийхэм фэбжькIэ ЯпэкъуэкI зэпыту жаIэт, ХуищIэу яридза удынкIэ ЩIыналъэр яригъэбгынэу. Тхыдэтхыу, зэхаха псори Тхылъ напэхэм щызгъэпсэухэм Къэхъуа-къэщIам языхэзу А хъэбарыри яхъумащ... …ЩАМИЛЫР КЪАIЭЩIЭКIЫЖРИ КЪИГЪЭЗЭЖАУЭ МЭЗАУЭ ЖиIэу Iуа хъыбар щIэрыпсым Къэфкъаз псор зэу зэлъищIысат... «Iэмин Псы ЦIыкIу» йожэх, уэ зыращ гум къигъэкIыр *** Щамил Iимамым хэт нэхъи Дзыхь нэхъ зыхуищI и нэIибым Зэрыбгъэпэжынур ищIэт Пашэныр щыпхуигъэфащэм. Ипэ дыдэм щыщIэдзауэ Щамил и нэIибхэм щыщу Хуэпэжахэм уефIэкIати Уи дзыхьыми утетыжащ. ЕбгъэрыкIуэу быдапIэхэр ТеуэкIэ зыщтэ зауэлIхэм Я нэхъ IэкIуэлъакIуэр уэрат, Уисэшхуэрат жан зэпытыр. ЗыгъэунэхужыпIэ фIащау Къыфхэлъадэрей сэлэтхэм Уэгум къеIэбыха щыблэу Саблэр гуу ятебгъэзагъэт. Фочышэ уIэгъэ куухэр Уи Iэпкълъэпкъым тыранэми, Уигулъытэншэу къэнакъым Лей зырихьэну къежьа зыи. Уи хахуагъыу нэрылъагъур Тхьэр гъэлъапIэнкIэ щIэпхъумэу, Муслъымэн щыпсэу щIыналъэу ЩыIэр псори яхуэпхъумат. Къэзэуатышхуэм и тхыдэр Зытхыжа Мухьэммэд-ТIэхир Щытхъушхуэ хэIэтыкIакIэ Уи цIэ иреIуэ, муридышхуэ. Нэгъэсаигъэу уэ пхэлъхэр ЦIыхугъэм, фIыгъэм къиубыдыр НаIуэ къыщыхъуат Шэрджэсейм Жэуаплыныр щыин щIыпIэм ХамэщI, хамэ Iэгъуэблагъэ ЛъэпкъкIэ зэхуэмыдэ зыкъом… Адыгэ-шэрджэс хэгъуэгухэм ЛIыкIуэу ущагъэкIуам щыгъуэ ФIыу плъагъу, ущалъхуа уи хэкур Уи адэжь щIыналъэ дахэр Уигу къэмыкIыххэу Iимамым Хуэббгынэри укIуащ жыжьэм Iимамым и унафэхэр ЗыугуэщIа Мухьэммэд-Iэмин И зэфIэкIыр а илъэсхэм НаIуэ къыщыхъуащ хамэщIым Гупщысэн зэрыщIэбдзэрэ КъэзэуаткIэ пхьащ уи гъащIэр Абы къыщыбгъэлъэгъуахэр Псоми щапхъэ яхуэхъужащ. ДэIэпыкъуэгъу пхуэмыхъужыф Хэку нэIуасэм упэIэщIэу Къыщыбгъэлъэгъуар телъыджэщ Дзэ зешэнкIэ хамэ щIыпIэ Быдэу зэкъуэт IэштIым лъэщу Зэкъуэбгъэуващ адыгэр, Бийр зэтепщIащ хьэбэсабэ Уэ пхуэдэ ахэр мыхъуфа. Уэ узипашэу зауэлIхэу ЩIыналъэ псом къыхэпшахэм БыдапIэр нимыгъэсыфу ЗэрыпхъуакIуэр ирахужьэжт. Хы фIыцIэ Iуфэ лъэныкъуэр Зэтезыкъутэурэ екIуэкI Бийм гузэвэгъуэ яриту Апхуэдэ зауэ щымыIа. Уи удыным, Iэсятыкъуэ, Нэхърэ нэхъ лъэщ ятемыхуа Къыхуэт щымыIэу узэдауэ КъыраутIыпщхьа джаурыдзэм. *** Уэ узыхэхьэ зэхэуэм И хъыбар зэхихыжыхукIэ И тахътэм темызэгъэжу Техьэгъуэ къытехьэт царым. Уэ уизакъуэщ тегушхуэфар Пащтыхь щIыхькIэ быдапIэуэ Къуршхэм къыхаIущIыкIахэр ЯфIызэтырикъутэну. УздэщыIа, ущызэуа Уи лъэужь махуэ къыщына ЩIыпIэ къэс уэ уи фэеплъхэр Щагъэуващ адыгэхэм. ФIыщIэ мыгъэкIуэд а лъэпкъым Уишыр псы щебгъэфа щIыпIэм, Зи Iуфэ нэмэз щыпщIа псым ФIаща уицIэр къадекIуэкIащ. Бланэм хуэдэу зыдэбдзеуэ Узыщхьэдэха къуэ задэм «Щихъым и къуэкIий» хужаIэ Дэнэ щыIэ апхуэдэ лъэпкъ! Къуршхэм ягъэпщкIу бгъуэнщIагъхэми Уи цIэ абы щызэрехьэ. «Аращ фыкъезыгъэлар» жаIэ Урыс псэжьхэм къыщаувыхьам. Уэ бдалъэгъуам, уи щIэныгъэм Тобэм къыхуигъэушхэри Ябгъэдэплъхьа диным фIэкIа Зэрахьэну ядэжакъым. Нобэми адыг-шэрджэсхэм Я деж цIыхум къыщалъыхъуэ Iэмин-щихъым и фэеплъу Щыт гу къэгъэкIыжыпIэхэр. Пэувау бэнэныгъэкIэ ЛIыгъэ хэлъу къимыкIуэту Импер ябгэм пэщIэт лъэпкъхэр Iэпыкъум къыщыхураджэм. А джэ макъым и жэуапу Iимам Щамил уздигъэкIуа ЩIыналъэм мыкIуэдыжыну Уэр фIэкI зым и цIэр щыIуакъым. Уэ уи фэеплъ гукъэкIыжхэр Къыщыбнэу уэ щIыпIэ жыжьэ УКIУЭЖАМИ, «IЭМИН ПСЫ ЦIЫКIУ» ЙОЖ - УЭЗЫРАЩ ГУМ КЪИГЪЭКIЫР. Лъэпкъхэм я гыбзэр ятелъу яхуэфащэр я ужьым итщ *** Урысым Iэхьэ хьэрэмкIэ Игъэшхахэр псалъэ ятам Темытыжу Iимам Щамил ИраухылIам щепцIыжам; КIэ зимыIэж зауэ хьэлъэм ЩIалэхэр зыпэрызэщIам Къэпсэхужыным нэмысу ЛIэныр натIэ къащыхуэхъум; Алыхьышхуэм, лIыкIуэ лъапIэм Гу хуэщIынкIэ гъэнщIа щIыпIэм Мыухыжын зыхуэкIуа зауэм И дыджагъыр щыпкъырыхьэм. Къабзэу ислъамым ихъума Зипсхэр хущхъуэгъуэ псынэхэр Бийуэ зэтыраупщIэтахэм Я лъыпсым къыщигъэутхъуэм; Нэмысыр хъуэпсэгъуэу зыхэлъ ЛIыхъужь хахуэхэм я хэкур ГущIэгъуншэу зэхакъутэу Напэ ягугъэу щызрапхъуэм; Щамил и мурид мыланджэу Хуитыныгъэм щIэбэнахэр Я щIыхьыр яфIэмыкIуэду Шэхид хейуэ псэр щыхалъхьэм; Дуней гъащIэм хэтыхухэкIэ Я ахърэтым телэжьахэр Я плъапIэхэм лъэмыIэсу Iэщэр ягъэтIылъын хуей хъуащ. Урысей щIыналъэ иным И къарур тыриунащIэри ХузэфIэкIащ зэхикъутэн Дэхуэха хъуа Iимам Хэкур. Iимамым и лIыхъужь пэжхэр, ХахуагъкIэ цIэрыIуэ хъуахэр Къытеуват лъагэу Iэта Гъуниб щаузэда быдапIэм. Зэхэуэ псом Алыхь Иным Къаруушхуэт къащыхилъхьэр Иджы мыбдеж, къашыргъэгъуэхэм Зауэ ухыр къащыхуиухт. Я ехъулIэгъуэт шэхидхэу Жэнэтым екIуэлIэжахэр Зэрыхэмыплъар а гуауэм Къэзэуат нэужь гухэщIым. *** Зэрыхабзэу Рэмэн лъэпкъым Царыгъэр щызэIэпахым, И адэр дунейм ехыжу Унафэр къуэм щыIэрыхьэм; Амал бзаджэхэм хуекIуэнкIэ Къэфкъаз зауэр щырахьэлIэм Щэху цIыкIуурэ щIадзащ «нэгъуэщI» ПлъапIэхэри къызэкъуахын. Къару шынагъуэм хигъащIэу Бгырыс хэкур щикIуэтыпэм ЗэпхагъэIукIыу хуежьахэщ Зэуэну ягу имылъыххау... Къару защIэкIэ а цIыхухэм Я хуитыныгъэр тырахри Тхьэ яIуащ фIыуэ ялъагъуу ТопкIэ зэхакъута хэкур. Зи хэкум папщIэ зи сэшхуэ ЗыIэтахэм ягъэгужьейт Я псэр IукIауэ загъэпщкIухэт, ИкIуэсыкIыжт зауэ губгъуэм. Алыхь IэмыркIэ насыпым И щIыб бгыхэм щахуигъазэм, Алыхь Iущыгъэм и щэхуу ТекIуэныгъэр бийхэм щахьым; Я Iэрылъхьэ хъуат абыхэм Ямыхэку Iузых «IункIыбзэр» Ауэ IэпкълъэпкъкIэ икIуэтхэм ГукIэ япэлъэщыфынут? Адрей лъыгъажэ кIыхьлъыхьхэу ЛIэщIыгъуэкIэ екIуэкIахэм ХэкIуэдатэкъым мы зауэм ЗауэлIу IукIуэдам хуэдиз. Гъуниб ущыкIуэкIэ гъуэгум Зи хьэдэ щипхъа сэлэтхэр КъуэкIийхэмрэ къуакIэхэмрэ Сыт хуэдэ щIыкIэу щыщIалъхьа? ЗауэлIу хамэ щIыналъэм Езыхэм щафIэкIуэдахэр ХэIущIыIу ящIыну шынэри Я цIыхубэм щабзыщIыжащ. Къэрал абрагъуэм пэщIэтын Гу зыхурикъуа Къэфкъазыр Зэраубыдыфа къудеймкIэ ЗагъэщIагъуэу зызыхуагъэкът. Iэщэрэ дзэ бжыгъэншэкIэ Зэбэна лъэпкъхэм я хэкум ЩызэIэщIилъхьащ Урысейм ТекIуэныгъэр бзаджагъэкIэ. ЗэбгъэрыкIуахэм я хэкум МафIэ лыгъейр ирадзыри Къэувыжащ зыщытхъужу Хуэфащэ етщIащ жыхуаIэу. Илъэс къэс нэхъ гуащIэ хъууэ ГущIэр елыпщI а уIэгъэм Iимам Щамилыр Iэрубыд ЩащIа махуэм къытхуагъэнам. …Къэфкъаз лъэпкъхэм IэштIым быдэу ФIэщкIэ якъузар ятехуау ХэщIыныгъэшхуэ яIами Ужь и ужьыжым текIуахэщ. ЦIыху цIыкIум имыгъэунэхуа Хьэзабыр езгъэшэчахэм ЛЪЭПКЪХЭМ Я ГЫБЗЭР ЯТЕЛЪУ ЯХУЭФАЩЭР Я УЖЬЫМ ИТЩ. 1) Къэщидэ – щытхъу усэ 2) Iимам Щамил. 3) Iэсятыкъуэ – Мухьэммэд –Iэмин. 4) Хьилмы – щIэныгъэ. 5) Инхо – авар къуажэ. 6) Муршид – ущиякIуэ, гъуазэ. 7) Шэфэхьэт: къыщхьэщыжын, дэIыгъын. 8) Сэид – бегъымбар щIэблэ. 9) Мутэхьэлим - зэгъэщIакIуэ. 10) Хьалим – щIэныгъэлI. 11) Мэхърэдж-къыжьэдэкIыкIэ, къэпсэлъыкIэ. 12) СугъралI-къуажэцIэ. 13) Гъазий – Iимам Гъази Мухьэммэд; къэзэуатылI. 14) Мэджлис – зэхэс. 15) НэIиб – Iимам Щамил игъэува дзэзешэ. 16) Уэр – дзэшхуэ (адыгэбзэжь). 17) Рэмэнхэ-Романовы. 18) Хьэфиз – къурIэныр гукIэ зыщIэ.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "mashidat.txt" }
Алыхьу гущIэгъубэ гущIэгъущIырейм и цIэкIэ соублэ Ди хэщIапIэр ди мащэхэрщ – Ди упщIэхэр дигуащIэхэрщ Ди гъуэгуанэри ди кIыхьхэращ – ДищытыкIэр дигъэщIэгъуэнщ Нэхъуеиншэныр дикIыхьлIыхьщ – ДилIэныгъэхэр дигъунэгъущ Ди былымхэр ди щIэинщи – Ди бынхэр ди зеинщэхэщ Ди уэншэкури ди щIыщIагъращ – Дигъуэмылэр димащIэращ Дижэщхэри дикIыхьхэращ – Ди щIегъуэжхэри ди куэдхэрщ Ди хьэрэмхэр ди гьэзабщи – Дихьэлэлхэр дижэуапхэрщ Ди Тхьэри ди иныращи – Ди Тхьэри ди ГъэгъуакIуэрщ Ди фарзхэри ди нэмэзхэрщ – Ди къалэнхэр ди сэджытхэрщ Ди щIэхьэпIэр ди жэнэтхэрщ – Ди Мухьэммэд псэм и Iэзэщ Мухьэммэд хъэбарегъащIэщ – Мухьэммэд ди щхьэщыжакIуэщ Мухьэммэд ди къегъэлакIуэщ – Ди Мухьэммэд ди нэхъыфIращ Ди Мухьэммэдыр ди лIыкIуэщ – Ди Мухьэммэдыр ди пашэщ Ди Мухьэммэд ди зиусхьэнщ – Ди Мухьэммэдыр ди фIылъагъущ. Дыжьыныфэу нур щидз мазэм Дыжьыныфэу нур щидз мазэм Мухьэммэдыр къалъхугъащ, Нуру къахэблэну цIыхухэм Азалыхьым иухащ. Мэрем жэщым сабийм и псэм Щыхьэрибгъур къиплъыхьащ, А пщэдджыжьым хьэрып къуажэм Уэшх узынши къыщешхащ. А псэ къабзэр къызэралъхуу Гъаблэр щIыгум икIыжащ, КъащыхуэкIуэм уэхьийр жэщу Сабийр псоми къацIыхуащ! Мэулид мазэр угъурлыуэ Мухьэммэдым тыраIуащ, Муслъымэну щыIэу хъуами ЯгъэлъапIэу къэуващ! Мухьэммэдыр ныбэм щилъым И анэу дыщэр къэгуфIат, Жэщ къэсыхукIэ уафэм къикIыу МелыIычхэр къыхуэкIуат! Мухьэммэдыр къыщалъху жэщым Вагъуэу щыIэр зэхуэсащ, Бзэ зимыIэу щыIэ псори А жэщ лъапIэм зэпсэлъащ!
{ "source": "adygabza.ru", "id": "maulid.txt" }
ПыIэ зыщэр Зы мыIэрысей гущIыIу щызэрыIэтащ тхьэрыкъуэхэр. ЩакIуэхэр пхъэращ, тхьэрыкъуэхэр лъатэжащ. Iэбэлъабэм я махуэти, хущхъуэ пщIын панакъым мыIэрысейм. Ауэ чэф гуэр и пыIэ къыпынащ А нэхъ къудамэ лъахъшэм фIэлъу… Лэжьыгъэ щIагъуэщ, пэжым ухуеймэ, пыIэ щэныр. Ауэ щэн хуейр ефакIуэ пыIэщ, нэгъуэщIкъым. Кумбхэм илъу ухуей, УдзыпцIэхэм хэлъу, жыгхэм телъу ухуей? Къэлъагъу къэплъагъуфым хуэдиз. ЩIэрыпс ухуеймэ щыбгъуэтынур Кэрмарэдж’щ сыт щыгъуи. Кэрмарэдж Ламнион пыIэ щызыщэр жыпIэмэ, Жьыбгъэращ абы хуэлажьэр. Сэрымэ, дэрбзэр цIыкIуу сытетщ дунейм, Сэри пыIащэ сыхъунущ. МыIэрысэбжьэр схуэлажьэнущ сэ Кэрмарэдж хуэдэу бей сызэрыхъуу, МыIэрысэбжьэм папщIэ мыIэрысейхэр иту мыIэрысей хадэ къэсщэхунущ. ИтIанэ тхьэрыкъуэ гъэсахэри… Бурдокс сыдэсмэ зы бжьэ сефэнурэ Дыгъэр къыстепсэу сыдэтынущ, си натIэр Iэтау. *** Мы гъуэгу мывалъэм сыкъыщохутэ си закъуэу; Сэрэ, сэ сыкъимыдэжу нэгъуэщI зы сэ’рэ. *** НэмыщI зы хамэбзэкIэ сопсалъэж си щхьэ. *** Къысхонэ сэ еплъыкIэ закъуэ; си щхьэ хухэсхыу згъэтIылъау, Дунейм иужь дыдэрей и нэхэм къаIэщIэзгъэкIыфа нэху закъуэу *** Сэ схэщIыхьау схэту, икIи хьэрф тIорысэхэм адэжкIэ спэжыжьэу *** ПщIэншэу, щхьэпэджэу удз гъэгъа… Иныжьхэр Iэщ теплъэ псэущхьэ гуэр къыcIэщIохъуэхэ. Ауэ сэ сощIэ абдеж, а къэзгъэзэжахэр зэпщI щIыпIэм идеж *** КIапэ лей зыпыт вагъуэхэм я щхьэцхэм кIэрыщIа цIыху хейхэм, Уеблэмэ зэманым и жэщхэми къыIэщIагъэкIыжынут а макъхэр Уа къалащхьэхэ! ЩыжыфIэнщ сэр папщIэ фи уэрэдыр Гурэ псэрэ къызытемынэжа дунейм, фэ гумрэ псэмрэ къыщывжаIэмэ *** ЛIэныгъэр къыщытщогуфIыкI мимозэхэм я зэхуакум *** Джэду бдзэжьеящэ, тутынафэ хьэжь цIыкIу Фыкъыщыздэныбжьэгъуащ Хьэндырабгъуэ Лъахэ щыщIэдзауэ Мазэ хьэлгъуанэм нэсыху *** Уа гукъинэ, уа кхъухьыжь! Абджым нэс уи щIэр къэзгъаплъэу узунэщIын хуеуэ ара? Абдежым лIыукIхэм я IэпхъуамбапIэхэр тетщ ИтIанэ, иужьрей нафIэгухэр зыIэщIэкIахэм ейри Аращи абдеж, а шыгухухэм я бжэ лъабжьэм Плъэн-даIуэныр япэу къыщытлъысыныр зэрынасып Европей зеиншэ хуэдэу. ЗэзыдзэкIар Гуащокъуэ Абдулщ
{ "source": "adygabza.ru", "id": "max.txt" }
ЗэзыдзэкIар Ацкъан Русланщ Бгырыс хъыбар Хьэрун мэкIуэж и унэ щхьэхьу, Бгъэм щIигъэIа тхьэкIумэкIыхьу. И жэкIэр бланэм зым щымыщ Абы и жэкIэм елъытауэ. МэкIуэж и фочыр хыфIидзауэ. ЦIыкIу хъуащи, щIылъэм къытемыщ. Ар къыщIэкIакъым адыгэлIу, Нэмыси хабзи щыгъупщащ. Къыхэзэрыхьри шынэр и лъым, КъызыхэкIар игъэгъуэщащ. И адэ хахуэр, и къуэшитIыр, Лъы пщтыркIэ щIыпцIэр ягъэщIытэу, ЗэуапIэ губгъуэм къринащ, Ялъ зыщIэжынум хигъэнащ… Дохьэжыр махуэр хьэрэкъуакIэ, Бгы нэкIум ныбжьхэр къызэпхопс. Макъ щэхухэр губгъуэм щызэхуос, ДэхьэхыгъуафIэхэр ираджэу. Къыкъуоу арыххэу ищхъэрэжьыр, ПсыIагъэ мащIэр кърихьэжьэу. ГуфIэжу мазэри къыщIокI, Уэгу лъащIэм вагъуэхэр IэщIокI!.. Хьэрун къоувыIэ, и псэр пыхуу. Бгы лъапэ мазэм къигъэнэхум Къыщелъагъужри щалъхуа жылэр, Дыгъу хуэдэ, бжыхьым ар йопщылIэ. Щыдымкъым зыри къуажэ кIыхьым, Хэт хуэдэщ зэрыжылэу пщIыхьым, АрщхьэкIэ, ищIэркъэ Хьэрун, КъыIэщIэкIакъым бий ерум Езым фIэкIа псэ пыту зылI. Адрейхэр псори губгъуэм илъщ… Хъыбарри япэ къэсагъэнщ. Ар ищIэу хэт жейм езэгъын? Бгъэдохьэ ар бгъэныщхьэ унэм, Плъыр сакъыу Iутым къуажэ гъунэм. Щхьэгъубжэ лъахъшэм щэхуу доплъыр, Уэздыгъэ нэфыр дапхъэм щоблэ. Йобакъуэ сакъыу ар бжэщхьэIум, Щхьэщохьэ пIэм хэлъ и ныбжьэгъум. Сэлим, щошынэри гущIэгъум, Тэмакъым щетхьэлэжыр щэIур. Узыфэ бзаджэ къеуэлIащи, Куэд щIауэ ар пэщIэтщ ажалым. Иджы ныбжьэгъум къыхуогуфIэ, Гуапагъэр и нэм къыщIоувэ, Мэхъуж аргуэру гумызагъэ. КъызэфIотIысхьэри ерагъыу - КъодаIуэ, пэплъэу хъыбарыфI. Хьэрун, и нэгур хъуауэ кIыфI, И хъыбар дыджыр ирешажьэ, Ещхьу удын зытрашащIэм: «ЖэщитI-махуитIкIэ ауз зэвым Дыщызэуащ, зыдмыгъэпсэхуу. Си адэ дыщэр хэкIуэдащ, Абы къуэшитIри кIэлъыкIуащ. Нобэ гупым димымахуэт. Къыхэсхри си псэр ажал мафIэм, Щхьэ закъуэу гъуэгу сыкъытехьащ, ПхуэмыIуэтэнуи гугъу сехьащ. Сыхуэдэт щакIуэм иху дыгъужьым, Си лъакъуэр банэхэм яфыщIырт, ИуIэрт зэми мывэ жаным. СфIэщIт гъащIэ псокIэ сыкъэжауэ, Сызыхъумари къысхуэмыщIэ. Уи пащхьэ ситщи – Тхьэм и фIыщIэщ. Уэращ ныбжьэгъум я нэхъыфIыр. Бийр щхьэщыухукIэ сыпхъумэфым - ИгъащIэ псокIэ сщыгъупщэнкъым, ДэIэпыкъуэгъу ущызгъэщIэнкъым!..» Сэлим и нэгум зыкъеуфэ, И нитIым губжьыр къыщIоувэ. ЛIэныгъэм нэхъри пэгъунэгъу ЗыщIам иредз иужьрей псалъэр: «АфIэкI уи нэгум сумыгъаплъэ, Къэрабгъэр хъунукъым ныбжьэгъу!..» И гущIэр мафIэм кърисыкIыу, Шынагъэм лъынтхуэр пикъузыкIыу, Хьэрун бжэщхьэIум йобэкъуэж, Бжэр, хэщэтыкIыурэ, Iуоуэж… Хьэрун кIыфIыгъэм къыхохутэ. Бауэжкъым жэщыр, къебий хуэдэ, И ныбжьми щIылъэм зыщеудыгъур. Хьэрун и гущIэм щигъэтIыгъуэ ГугъапIэ щэхур къоушыж, ГуфIэгъуэр и нэм къыщIощыж. Гухэлъ зелъатэр къеIусащ, Ба пщтыру щIалэм и нэкIущхьэм, КъылъэIэсащ псэм фIэфIу гущхьэм; Нэгу къабзэр кIыфIым къыпхыпсащ, Игу лъащIэм нэсу къыхуэгуапэу, КъызэIуихыжу насып кIуапIэр. Сыт къэмыхъуами къыхуэпэж ЗэриIэр дауэ щыгъупщэжт!.. Къэгушхуэжауэ, ныхуопIащIэ И куэбжэм фIыуэ илъагъу пщащэм; Щхьэгъубжэ нэхум бгъэдокIуатэ, Зелъатэу игу, зэщIодэIукI. Уэрэд щхьэгъубжэм къыдоIукI: Мазэр и закъуэу Уэгум щозэш. Зауэм Iухьэну Щауэр ежьащ. Фочыр щIалэщIэм еузэд, Пщащэр епсалъэу бгъэдэтщ: «Си щауэ, сыт щыгъуи Гъэлъагъуэ уи лIыгъэр, Ди Тхьэшхуэм щыгугъи, Хуэпэж лъагъуныгъэм! Уэгу къащхъуэм къехъумэ Гухэлъым хуэпэжыр, И мыгъуэр игу къэкIым, Къару къыхохьэжыр. Гухэлъым хуэпэжыр И закъуэ яукIкъым: Ар зауэм хэкIуадэм, И мыгъуэр йолIыкIыр. Гухэлъым епцIыжри Къэрабгъэри зыщи, ХэкIуадэм апхуэдэр - Игу щIэгъуркъым зыми. Уэшх хуабэм уIэгъэр ХуитхьэщIкъым апхуэдэм, ТетIысхьэркъым къуаргъи Апхуэдэм и хьэдэм». Мазэр и закъуэу Уэгум щозэш. Зауэм Iухьэну Щауэр ежьащ… Аргуэру, и щхьэр къыфIэхуауэ, Хьэрун кIыфIыгъэм ныхохьэж, АрщхьэкIэ здэкIуэр имыщIэж. Къыбгъэдохутэ щалъхуа унэм. ИкIуэдыкIащи и гум шынэр, ГугъапIэу хъуар къощIэрэщIэж. ПIейтейуэ доплъ бжэ дамэдазэм, Къилъыхъуэу нэкIэ псэм и гъуазэр. И анэр исщ гъэшауэ пIэкум, Нэр тримых абы бжэщхьэIум, Къытригъэзэжу Тхьэм йолъэIур Къыхуихьыжыну, зы хэмыщIу, И щIэлъэныкъуэр, и бынищыр!.. Дохьэж акъужьыр хьэрэкъуакIэ, КъэкIуэну псалъэм щышынауэ. Щытщ щIалэр, игу къызэфIэнауэ. ЕлъэщIри нэпсыр, щэхуу маджэ: «КъысхуэщIыт IэплIэ, сянэ дыщэ. Сыкъелщ си закъуи урыс Iэщэм, СыкъэкIуэжащ, узгъэфIэжыну, Хъум плъэмыкIыж – узесхьэжыну!.. Тхьэм елъэIу макъыр зэпыуащ, ПлIанэпэм упщIэ къыщыIуащ, Иригъэубыду уи гур щIыIэм: «Уи къуэшхэр, уядэр дэнэ щыIэ?!» «Щатащ зауапIэ губгъуэм я псэр». «ПщIэжакъэ уилъ, лIым зэрихабзэу?» «Къэнар си закъуэт, сыхэкIуадэм - Ди адэжь лъапсэр хъунут нэщI. СыкъэкIуэжащ, сытежу лъатэм, БдэзгъэпсынщIэну уи гухэщI!» «ЗэтепIэ уи жьэр, насыпыншэ, Уи псалъэ къэскIэ гум тохьэлъэ. Щхьэ умылIарэ лIыгъэ пхэлъу? Хьэрэмщ узэзгъэфа быдзышэр. Сыноджэфынкъым афIэкI къуэкIэ, Си жьыщхьэр згъэпудынкъым уэркIэ!..» ЖиIакъым зы абы нэмыщI. Хьэрун жэбзащ, идзыжкъым ныбжь, Зэхехыр и гур къызэреуэр. Апхуэдэу, щыблэр уа нэужь, Щым мэхъу дунейр, уигъэгужьейуэ. Хьэрун бжэщхьэIум йобэкъуэж, КIыфIыгъэ псыIэм ныхохьэж. Гъуэгущхьэм шынэр къыщыпоплъэ, Хьэ щэхурыпхъуэу нэм къыщIоплъэ. Пэплъащ Хьэрун иджыри тIэкIурэ, АрщхьэкIэ жэщым дэгъуэгурыкIуэм ФIэкIа зы макъи зэхимыхт, Бжэр анэ дыщэм къыIуимыхт, КъыкIэлъымыджэт, щIегъуэжауэ. Хьэрун игу къекIуэрт, щхьэр и жагъуэт. КъыIуигъэзыкIри – кIэрэхъуащ. И къамэ Iэпщэм ар епхъуащ… Пщэдджыжьым жьыуэ щIэкIа анэр И къуэм и хьэдэм жьэхэуащ. ГухэщIыр псыдзэу къыщIэуащ, ИрихьэкIащ итIани и нэр. Ебзейуэ хьэхэр и уIэгъэм, Сабийхэр башкIэ кIэщIэIэбэу, Къыщымэхъашэу зэрыкъуажэу, Илъащ утыкум хьэдэ къуаншэр, ЛIыжь гуэрым пщIантIэм къыдишыху, ЩIыпIэ бгынам щыщIилъхьэжыху. КIуэрыкIуэсэжым и хъыбарым ЗэлъищIысащ адыгэ хэкур, ЯIуэтэжыхукIэ ягъэбагъуэу. Езым и ныбжьыр джабэ нэкIум ЖэщкIэ гъуэгурыкIуэхэм щалъагъур. Ар щэхуу куэдым я щхьэгъубжэм Пщэдджыжь нэмэзым къытоуIуэ. КъыщIэмыхьэн хуIупхкIэ уи бжэр, Дунейм темыт зыбгъэдэувыIэ. Псом хуэмыдэжу къурIэныбзэм Щышынэу жаIэ абы и псэр. Зэрызэхихыу – зричынущ, Ещхьу зауапIэм къикIуэсыкIым…
{ "source": "adygabza.ru", "id": "mnb.txt" }
КIапсэм и зэранкIэ ЗэзыдзэкIар Къэрмокъуэ Хьэмидщ Тхьэмахуэ хъуамэ, цIыхур гъуэгу тохьэ – ини цIыкIуи, лIыжьи лIыщIи. Бэзэрым зэрохь псори: зым ещэ, зым къещэху. Ошкорн жылэм къахэжыжынт: бэзэрыр зыпищI щыIэкъым. КъимыщэхунуIуами, макIуэ – щытоу, и ныбжьэгъу е и цIыхугъэ гуэр IуощIэри, доуэршэр. Ноби аращ – кIуащ я гъунэгъу жылэм. Арат бэзэрыр щызэхыхьэр. Шэджагъуэм зэхэкIыжащ бэзэрыр – щхьэж и унэ кIуэжащ. Ошкорн епIэщIэкIакъым. Бэзэрым пэмыжыжьэ шхапIэм кIуэну ежьащ. ШхапIэм нэмыс щIыкIэ псы шэд тIэкIу ирихьэлIащ лIыжьыр, абы хэлъ кIапсэ цIыкIур къыIэщIэлъэгъуащ. Къызэрыпщхьэпэжынур пщIэрэ: и кIэнтIыIур узырти, ерагъмыгъуейуэ зригъэзыхри кIапсэ кIапэр къищтащ, илъэщIри и жыпым ирилъхьащ. Уунэхъунумэ, куэдрэ: лIыжьым кIапсэ кIапэр къызэрищтар и нэIуасэ гуэрым илъэгъуащ. Абыи и ныбжьыр хэкIуэтат, тIури щыщIалэм щыгъуэ зэщыIеяти, лIыжьитIыр иджыри къэс зэтеплъэ хъуртэкъым. ФащIэр – Маланденщ жыхуэтIэр – гуфIащ. «Пхуэфащэр уэсщIэнкъэ иджы!» – жиIагъэнщ игукIэ, я унэ бжэщхьэIум здытетым и жагъуэгъу лIыжьым кIапсэ кIапэр къызэрищтэр щилъагъум… Ошкорн шхапIэм здыщIэсым гъуом и макъ къэIуащ: «Жылэ махуэ хъун, зэхэтхакъым жывмыIэ: нышэдибэ бохъшэ кIуэдащ. Фэ бохъшэ фIыцIэ. Франк щитху дэлъщ бохъшэм. Къэзыгъуэтам зремыбзыщI. ЗимыбзыщIмэ, хуэупсэнущ – франк тIощI иратынущ». - Делэ мэлъыхъуэ! - Дэнэ къипхыжын: уи жыпым ихуамэ, упыкIащ! Апхуэдэ псалъэмакъщ шхапIэм щекIуэкIыр. Лыбжьэм къэхьэуэ трафыхьыжынути, абы здыпэплъэм, шхапIэм жандарм фащэкIэ хуэпауэ зы щIалэ кIыхь къыщIыхьащ. ЩIэупщIащ: - Брест щыщ Ошкорн щIэс мыбы? - ЩIэсщ. Сэращ ар,- жиIащ Ошкорн. - Уэрамэ, къэтэджи накIуэ. Тетыр къоджэ, къыпхуейщ. Къэтэджри, щIалэм и ужь иуващ лIыжьыр. Къалэ Iэтащхьэр лIы пшэр быртIымт. НэкIэ ишхын хуэдэу къеплъащ лIыжьым. - Зиусхьэн Ошкорн, Манневиль щыщ Ульбрек гъуэгум щыкIэрыхуа бохъшэр уэ къызэрыпщтар нышэдибэ ялъэгъуащ. ЛIыжьым и дамэр дригъэуеящ: сыт бохъшэ? - Бохъшэ фIыцIэ. - Бохъшэ лъэпкъ сытеплъакъым, – жиIащ лIыжьым. - Укъалъэгъуащ. - Хэт сыкъэзыгъэлъэгъуар? - ФащIэм. Маланденщ жыхуэсIэр. И жагъуэгъум и цIэр щызэхихым, Ошкорн къызэкIуэкIащ, цIыплъ къэхъуащ. - Мы кIапсэ цIыкIур гъуэгум къызэрыщысщтар илъэгъуащ абы. НэгъуэщI илъэгъуакъым, – жиIащ лIыжьым, кIапсэ цIыкIур и жыпым кърихри. Къалэ Iэтащхьэм и щхьэр игъэкIэрэхъуащ. - Маланден пцIы къысхуиупсынукъым. ПщIэ зыхуащI цIыхущ ар, пцIы хэзагъэркъым. А кIапсэр бохъшэ къыфIэщIа уи гугъэ? - Сэри пхуэзупсынукъым пцIы. Тхьэр си щыхьэтщ: кIапсэ кIапэм фIэкI, нэгъуэщI къэсщтакъым. Къалэм и тетым и фIэщ хъуакъым ар. - Ар къудейкъым: бохъшэр уи жып иплъхьа нэужь, шэдым башкIэ ухэIэбэрэбыхьащ, кIэрыхуаIа къыпфIэщIри. Бзэгу къэзыхьари къраджащ. ФащIэмрэ Ошкорнрэ куэдрэ зэдэуащ, къызэрыгъэгубжьащ, Iэжьэгъу щымыIамэ, зызэрадзынкIи хъунт. ФащIэм и лъэIукIэ Ошкорн къащащ – зыри къыкъуахакъым, кIапсэ кIапэм фIэкI. Зыкъомрэ ирахухьри, лIыжьыр къаутIыпщыжащ, Iуэхур прокурорым деж зэрынагъэсынури къыжраIащ. Уэрамым къыдыхьэжащи, хэт хуэзэми, кIапсэ кIапэмрэ бохъшэмрэ я хъыбарыр яхуеIуатэ, арщхьэкIэ зи фIэщ хъу яхилъагъуэркъым хъыбарыр зыхуиIуатэхэм: къоплъ, къыпогуфIыкIри, блокI псори. Я жыли щиIуэтэжащ кIапсэмрэ бохъшэмрэ я хъыбарыр – зи фIэщ хъун къыдэкIакъым я жыли. Жейм езэгъакъым жэщ псом. КъыкIэлъыкIуэ махуэм, шэджагъуэ хъуауэ, фермер гуэрым бохъшэр зейм хуихьыжащ. ЩIалэм зэрыжиIэмкIэ, бохъшэр гъуэгум къыщигъуэтат. Ошкорни зэхихащ бохъшэм и хъыбарыр – ар зейм зэрыIэрыхьэжар. ГуфIэри, ежьащ, жылэм яхыхьауэ яжреIэ: - Бохъшэр сэ къыстралъхьати, пэжыр сэтей къэхъужакъэ! ВжесIатэкъэ лажьэ сызэримыIэр. Си жагъуэ хъуар сыт жыфIэт: пцIы къызэрыстралъхьаращ. ПцIыр си ажалщ. ПцIы къыптралъхьэн нэхърэ нэхъыкIэ сыт щыIэ! Мысэ хъу зэрыпэтар зыжримыIа жылэм къыдинакъым. Жылэри фIэмащIэ хъуащ: гъуэгу тохьэри зрихьэлIэм хуеIуатэ и щхьэм кърикIуар. ШхапIэм щIохьэри, еIуатэ, члисэм къикIыжхэм ярихьэлIакъэ, абыхэми яхуеIуатэ. ЯхуеIуатэ ицIыхухэми имыцIыхухэми. ЯхуиIуатэ щхьэкIэ, и гур загъэркъым. ЩIэмызагъэрщ къыгурымыIуэр. Хъыбарыр зыгуэрым хуиIуэтакъэ, ар къоплъри блокI: «Джаур пцIыпхъыжь». «ИгъащIэми пцIыпхъыжьщ, и жьыщхьи зыхинакъым», – аращ къыхужаIар. Я гъунэгъу къалэми кIуащ, шхапIэм щIыхьэри абы щиIуэтащ и Iуэху къызэрекIуэкIар. Зыми и фIэщ хъуакъым, къыщыдыхьэшха фIэкI: «Джаур пцIыпхъыжь!» - Бохъшэр зейм къигъуэтыжащ, ари фи фIэщ хъунукъэ? – тэмакъкIэщI хъуащ лIыжьыр, абы фIэкIмэ, къыщичынри хэлъщ: сыт я фIэщ щIэмыхъур? Я щIыб къагъазэмэ, къыхужаIэр аращ: - ПцIыупсым и хьэлыр пхузэхегъэнынукъым. КIапсэ кIапэм и хъыбарыр ягу ирихьащ цIыхум: къелъэIуурэ ирагъэIуатэ. Жьэм пщIэ щIатыркъым – и гур хохъуэ, пцIы иупсмэ. Аращ жылэм къыхужаIэр. Езыми шэч къытрихьэ хъуащ хуэм-хуэмурэ: пцIыуэ пIэрэ-тIэ, кIапсэ цIыкIум щIыгъуу бохъши къыхэсхауэ пIэрэ шэдым? Шэч къызэрытрихьарщ игу къеуэр: жылэр къыпщишэмэ, бгым урагъэлъэнкIи мэхъу… Iуэхуншэ Махуэ плIыщIым щIигъуащ ар гъуэгу зэрытетрэ – IэнатIэ хуэхъун лэжьапIэ мэлъыхъуэ. Аращ я унэ къыщIикIар. Илъэс тIощIрэ блырэщ зэрыхъур, Iэчлъэчщ, и хьэл-щэнкIэ дэбгъуэн щыIэкъым, цIыху зэгъщ. ПхъащIэщ и IэщIагъэкIэ. IэпэIэсэщ. Зыгъэлэжьэнщ имыгъуэтыр. ШыпхъуитI иIэщи, хамэм яхуожьыщIэ, яхуопхъанкIэ, яхуолъасэ. Езыращ Iуэхуншэр. Iуэхуншэр мащIэкъым иджы. Насып уиIэмэ, зыгуэрым игу къыпщIэгъунщ. Аращ Рандель зыщыгугъыр. ШыпхъащIэкIэ, нэгъуэщI лэжьыгъэ хуейтэкъым. И щхьэр иужэгъуащ къиджэдыхьурэ. Зыри хуейкъым пхъащIэ: дэнэ щыщIэупщIэми, и кIэн къикIыркъым. ПхъащIэ зыри щыхуэмейкIэ сыт ищIэнт: лэжьыгъэ гуэр бгъуэтыххэмэ, умыщхьэх. Щхьэхакъым Рандель: шыгуху къуэдзи хъуащ, жыг иухъуэнщIащ зыкъомрэ, псыкъуий къезыгъэтIыни ирихьэлIащ, мэзым пхъэхьэш къыщIилъэфащ. Махуэ-махуитIкIэ бжэни игъэхъуащ – зы су къыхуашиймэ, нэгъуэщI япиубыдынутэкъым. Ар имыгъуэтыж хъуащ хуэм-хуэмурэ, и жыпыр нэщIщ, и ныбэри аращ. Факъырэ Iус къыхэх – нэгъуэщI къыхуэнэжакъым. ЯфIэгуэныхь мэхъури, фызыжь гуэрхэр зэзэмызэ къыхуоупсэ. МэжэщIалIэщ Рандель, гущIэгъу къыхуэзыщIыни ирихьэлIэркъым, аращ игу темыхуэр. Бжьыхьэри къэблэгъащи, уэлбанэрилэщ. Вакъэ тIорыкIуэгъуэ къыздрихьэжьати, къиущыхьурэ игъэлэжьащ. ЛъапцIэщ, щыгъыныджэщ. ИгъащIэкIэ къэбущыхьын: и унэ ихьэжын мурад ищIри къигъэкIэрэхъуэжащ. МазэкIэ гъуэгу тетащ. Унэми мазэкIэщ зэрынэсыжынур. Я жылэм нэсыжмэ, зыгуэрым игу къыщIэгъункIэ мэхъу. Хамэ жылэ дэсхэм зыкъыщадзей, дзыхь къыхуащIыркъым – игъэщтащ псори, ара хъунщ я щIыб къыщIыхуагъэзар. Ешащ Рандель, и лъэр ерагъмыгъуейуэщ зэрызэблихыр. Жейр къыщытеуэм, гъуэгу Iуфэм щетIысэхащ. Зэрыхъуари ищIэркъым: уэшх ткIуэпсхэр къытещащэми, щхьэукъуащ. Къыщызэщыужам, нэху щакIэт, бэзэр махуэти, гъуэгум цIыхур тезт – хэт щэхуакIуэщ, хэт сатуущIэщ. ЗылI блэкIырт, мэл зыбгъупщIым я ужь иувауэ. ЛIым зыхуигъэщхъащ Рандель: - Iэпыдзлъэпыдз ухуэмейуэ пIэрэ? Шхын щхьэкIэ солIэ. - Гъуэгум сызыщрихьэлIэ фаджэр Iэпыдзлъэпыдз схуэхъунукъым сэ! – ней-нейуэ къеплъащ лIыр, блэкIри ежьэжащ. Рандель гъуэгу Iуфэм щетIысэхыжащ. БлэкIхэм яхоплъэ: гущIэгъу къыхуэзыщIын яхэт-яхэмыт? ФэфI нэхъ зэпплъ хъун яхилъэгъуащ гъуэгум тетхэм. - МазитI хъуауэ солъыхъуэ сызыгъэлIыщIэн, – зыхуигъэщхъащ Рандель фэфI зриплъам. – СызыгъэлIыщIэн срихьэлIэркъым. IэнатIэ гуэр къысхуэбгъуэтынкIэ сыт ухуэдэ, зиусхьэн? - IэнатIэ згуэшыркъым сэ! – къеплъыххакъым шызакъуэгум ис зиусхьэныр. - СымэжэщIалIэщ, си хьэтыр къэлъагъу. - Зегъэхь! – къыхуилъащ зиусхьэныр. – Сэ мы куейм сриIэтащхьэщ, лъэныкъуэ зумыгъэзмэ, лъэхъуэщым ущIэздзэнщ! - СыщIэдзэ, – гъумэтIымащ Рандель, – лъэхъуэщым зыгуэр щызагъэшхынщ. Зиусхьэныр блэжащ, Рандель гъуэгу Iуфэм щетIысэхыжащ. Сыхьэт ныкъуэ хуэдиз дэкIауэ, щIалэ пащIацитI къыIэщIэлъэгъуащ Рандель: я нэр къытраубыдауэ къыбгъэдокIуатэ. «Си дежщ ахэр къыздэкIуэр, сэращ къалъыхъуэр», – игу къэкIащ пхъащIэм. Хьэтхауэхэр къэсащ. Къэсри къыщхьэщыуващ. - Сыт мыбдеж щыпщIэр? – къыщIэгубжьащ унтер-офицерыр. - СетIысэхауэ зызогъэпсэху. - Дэнэ уздэкIуэр? - Ди жылэ сокIуэж. - Гъуэгу тхылъ пIыгъ? - СIыгъщ. - Мыдэ къащтэт. ПхъащIэм и гъуэгу тхылъыр зэпиплъыхьащ унтерым – дигъуэн игъуэтакъым, итIани ирехухь. - Гъуэгу тхылъым нэмыщI гъуэгупщIэ пIыгъ? - СIыгъкъым. Сыджафэщ. - Сыт-тIэ узэрыпсэур? - КъысхуашийIамэ, аращ сызэрыпсэур. - УолъаIуэри утетщ гъуэгум, аракъэ? - Ардыдэщ. Унтерым и нэр къытриубыдащ пхъащIэм. - Улажьэркъым, упщIантэркъым, уи жыпым зы су илъкъым, къыбоджэдыхьри гъуэгум утетщ – укъуаншэщ. Узэрыкъуаншэм щхьэкIэ узгъэтIысын хуейщ. Си ужь къиувэ. ПхъащIэр къызэфIэуващ, хьэтхауитIым я зэхуаку дэуващ: - Сивдзэ хьэпсым, уэшхым сиуфэнщI нэхърэ нэхъыфIщ. Куейм и Iэтащхьэм деж яшащ пхъащIэр. - Уи кIэр бжыхьым дэпхуэжакъэ иджы! – къыжьэхэплъащ Iэтащхьэр. – БжесIатэкъэ лъэхъуэщым узэрыщIэздзэнур! - СыщIэдзэ. - Факъырэ Iус къыхехри гъуэгум тетщ, къэджэдыхьын фIэкI Iуэху иIэкъым. Аращ щIэзубыдар, – жиIащ хьэтхауэм. ПхъащIэр къащащ – къыкъуахын ягъуэтакъым, и гъуэгу тхылъым фIэкI. Iэтащхьэр Iэнкун къэхъуащ, къеупщIащ: - Нышэдибэ гъуэгум щыпщIар сыт? - Лэжьыгъэ гуэр срихьэлIэн си гугъащ. - Гъуэгуми? - Дэнэ-тIэ сыщылъыхъуэнур? Чыцэра? Iэтащхьэм и нэщхъыр зэхилъхьащ: - Уи жьэр зэтепIэ! – Хьэтхауэхэм яжриIащ: – Жылэм дэфхуи, футIыпщ, и щхьэ зэрыхьщ. Ирикъунщ къызэриджэдыхьар. Фхуемыжьэжмэ, фубэрэжь. ЯIэщIэкIащ. И къару къызэрихькIэ мажэ. Куэдрэ жэфынт: ныбаджэт, мышхэурэ гуащIэмащIэ хъуат. Жылэм дэжауэ, жыг баринэ ирихьэлIэри, жьауэм хэгъуэлъхьащ. Iурихащ. Къыщызэщыужам, хьэтхауэр къыщхьэщытт. - УсIэщIэкIын уи гугъати! - Сыт къызэпщIэнур? - УэсщIэнур къызжаIащ: узубэрэжьынущ! – къилъащ хьэтхауэр. - Сумыубэрэжь. ХеящIэм деж сышэ. Си унафэр хеящIэм ищIынщ. - Уигъэтхъэн уи гугъэ хеящIэм? – къыщIэнэкIащ хьэтхауэр. Хьэтхауэр жьэ мыгъуэ къишхыдыкIауэ къыщIэкIащ: хеящIэм илъэс тIощI къытрикъуэри, лъэхъуэщым иригъэшащ. «Арыншауэ къэджэдыхьын щыбгъэтынукъым уэ», – арагъэнщ хеящIэм зытрищIыхьар. Бжьыдзэ Крикто дилижансыр щежьэн хуейти, цIыхур зэхуэсауэ поплъэ. Шыгуху ныбэкъыр, Орлавиль Сезер, пIащIэркъым – узэхищIыкIын абы! Сытми, заул дэкIауэ, шыгухур хьэщIэщым къыщIэкIащ, и жыпым тхылъымпIэ кърихауэ къоджэ макъыхъукIэ: - Зиусхьэн кюре! ЛIы гъумыщIэ къыбгъэдыхьащ. Домбейщ, плIабгъуэщ, нэкIуплъщ кюрер. Ерагъмыгъуейуэщ дилижансым зэритIысхьар. - Рольбоск-ле-Грине щыщ егъэджакIуэр! ЛIы гъур кIыхь къахэкIащ гупым, абыи зригъэзэгъащ дилижансым. Шыгухур маджэ: - Пуаре! ТIысыпIитI къыплъос! И плIэр ухуауэ, зылI къыбгъэдыхьащ шыгухум. И плIэр щIэухуар пхъэIэщэкIыр зэримыутIыпщырагъэнщ. ИгъащIэм зитхьэщIауэ пщIэнкъым, и жьакIэр иупсын зэрыхуейри щыгъупщэрейщ. И щхьэгъусэри щIыгъущ – фыз гъур лъахъшэр жьауэ удзыфэм къыщIоплъ. - Рабо! Уэри тIысыпIитI къыплъос! - Сэра узэджэр? – щIэупщIащ ар, и фIэщ хъуакъым и цIэр къызэрыраIуар. ПидзыжынIауэ хунэсакъым шыгухур: и фыз пIащэшхуэр къыщыкIуэцIыуэм, дилижансым зридзащ Рабо. - Каниво! Вы хуэдэ пIащэ мэкъумэшыщIэр щитIысхьэм, дилижансыр лъэныкъуабэ хъуащ. - Бельом! – къоджэ шыгухур. Щхьэпэлъагэщ Бельом, лIы гъур кIыхьщ, и тхьэкIумэр бэлътокукIэ иIыгъщ, зэрыгъырнэIум фIэкI, сыт дэбгъуэн? Дилижансым и бжэхэр хуищIыжащ шыгухум, и пIэм зригъэзэгъэжри шыхэм чнутI кIыхькIэ ятеIэбащ. Шищым зрачащ, я нэр абы къыхуимыкIыщэми. Дилижансыр зэщIоскъыскъэ, гущыхуэ Iэджэ щIауэ зымылъэгъуа шэрхъхэр зэрошх. Щымщ псори, кюрем и пащхьэ щискIэ, абы щоукIытэ. Езы кюрем хуэшэчакъым – япэ къыхэзыдзар аращ: жьэрэIурэ гуэр хъунт кюрер. - Уи Iэху сытым тет, Каниво? Дауэ уехъулIэрэ? Кюрем пщIэ хуищI и хабзэт Каниво – тIури зэрыпIащэрагъэнт. ПыгуфIыкIри, жэуап къритащ мэкъумэшыщIэм: - Хъарзынэщ си Iуэхури. Гукъеуэ сиIэкъым. Уэ сыт ухуэдэ? - Сэри сыIейкъым, тхьэм и шыкуркIэ. Уэр-щэ, Пуаре? - Гъавэр щIагъуэкъыми, а зыр сигу къоуэ, – жиIащ Пуаре. – Гъавэ къыпхуэмыхъумэ, ныджэм укъытенауэ аращ. - Сыт пщIэн, зэманыр абы хуэкIуащ, – жиIащ кюрем. - Зэман бзаджэщ, – акъылэгъу хъуащ Рабо и щхьэгъусэ фыз жьэхъур. - Блондель урипхъу си гугъэщ уэ. Хьэмэ сыщыуэрэ? - Ущыуэркъым. Си щхьэгъусэм и унэцIэращ иджы зесхьэр. Рабо аббатым зыхуигъэщхъащ: «Блондель и пхъур зыдэкIуар сэращ», – жиIагъэнщ игукIэ. ЦIыху укIытэхт Рабо, итIани и гуапэ хъуащ и щхьэгъусэр кюрем къызэрицIыхужар. Бельом къэщэIуащ асыхьэтым, и тхьэкIумэри бэлътокукIэ зэриIыгъщ. Мэгурым: «М-м…м-м…м-м…» - Уи дзэр узрэ? – щIэупщIащ кюрер. Гурымын щигъэтри, жэуап къритащ: - Хьэуэ, зиусхьэн кюре. Си дзэрамэ, удэкIуэтэнт. Си тхьэкIумэращ къызэзауэр. - Сыт щIэузыр? Шын ирищIа? - Шын ирищIами иримыщIами сыщыгъуазэкъым. Сызыщыгъуазэр си тхьэкIумэм хьэкIэкхъуэкIэ гуэр зэрипщхьарщ. Хьэмэшым сыщыгъуэлъри сыщыжеяти, аращ щипщхьар. - ХьэкIэкхъуэкIэ жоIэ? Пэж ар? - Пэж зэфэзэщщ! Ипщхьащи, кърешхыкI. Си щхьэ куцIми нэсынкIэ сошынэ, – мэгурым Бельом. Псоми ягу къыщIэгъуащ. Щхьэж игу къэкIар къыжраIэ. Пуаре зэрыжиIамкIэ, Бельом и тхьэкIумэм ипщхьар бэджщ. ЕгъэджакIуэм къэбыстэ хьэпIацIэущ къызэрыфIэщIыр. Ори департаментым илъэсихкIэ щыпсэуащ, абы щыщ гуэрым и тхьэкIумэм къэбыстэ хьэпIацIэ ипщхьауэ зэрыщытар ещIэж: и тхьэкIумэм ипщхьэри и пэмкIэ къикIыжащ хьэпIацIэр. Дэгу сагъро хъуащ абы лъандэрэ, и тхьэкIумэIупсыр хьэпIацIэм ишхати. - Сэ цIывым хузохь, – жиIащ кюрем. Бельом мэгурым, щIичэркъым. - Дыдыдыд мыгъуэ! Си фэр ирихай! ХъумпIэцIэдж си гугъэщ, къызодзакъэ, си тхьэкIумэм зриудыгъуауэ. Мэлъэпхъащэри исщ, бэуапIэ къызитыркъым. - Дохутырым деж укIуа? – щIэупщIащ Каниво. - СыкIуакъым. - Сыт ущIэмыкIуар? Дохутыр Iуэху къыщыхэхуэм, Бельом и гурымыр пичащ, и щхьэр къиIэтащ, и тхьэкIумэр бэлътокукIэ зэриIыгъыу. - СыщIэмыкIуар фщIэркъэ? Зэ укIуэнщ, тIэу укIуэнщ, аргуэрыуи тебгъэзэнщ. УкIуэху къэс ахъшэ ептын хуейщ. Дапщэ тебгъэкIуадэрэ! Фэ ахъшэ фи куэд хъунщ. Сэ ахъшэ зэзэмызэщ сыщытеплъэр. - Дэнэ-тIэ иджы уздежьар? - Гавр сокIуэ. Шамбрелан деж. - Ари хэт? - Iэзэщ. - Хэт и Iэзэ? Сыт и Iэзэгъуэ? - Си адэм къеIэзауэ щытащ ар. Игъэхъужыгъащ. - Уи адэми? - Си адэм. Куэд щIащ абы лъандэрэ. - Сыт къеузар уи адэм? - И кIэнтIыIум игъэбауэртэкъым. - Дауэ зэригъэхъужар? - И бгыр ишытIэурэ игъэхъужащ. СыхьэтитIым и кIуэцIкIэ къызэфIигъэувэжащ. Бельом шэч къытрихьэртэкъым Iэзэр и адэм къызэрытебжами, ауэ ибзыщIащ зи гъусэхэм ящыукIытэри. Дыхьэшхри, Каниво къеупщIащ: - ТхьэкIумэкIыхь ипщхьауэ пIэрэ-тIэ? ТхьэкIумэ гъуанэр езым и гъуэрауэ къыфIэщIагъэнкIэ мэхъу. Сэ пхуэзгъэщтэнщ а назэр! Хьэджафэ макъ зищIащ Каниво – ари сэбэп къыхуэхъуакъым Бельом: мэщэIу, мэгурым. ШхапIэм нэсати, шыгухум шыр къыжьэдикъуащ. - Уи тхьэкIумэм псы идбгъакIэмэ, узыр игъэувыIэнкIэ мэхъу, – жиIащ кюрем. - Сыбгъэунат итIанэ! Дилижансым къикIащ псори, аббатыр Бельом зэреIэзэр зрагъэлъагъун щхьэкIэ. Псы фалъэ кърагъэхьащ, Iэнэм етIысылIа нэужь. Бельом и тхьэкIумэм иплъати, Каниво жиIащ: - ТхьэкIумэр къитхьэщIыкIын хуейщ япэ щIыкIэ. КъыумытхьэщIыкIмэ, шэд ихъухьынурэ тхьэкIумэкIыхьыр хэнэнущ. Бельом и тхьэкIумэр къратхьэщIыкIащ – ижьри сэмэгури. ТхьэкIумэкIыхь ирагъуэтакъым. Абы щыгуфIыкIащ Бельом. И тхьэкIумэр зэратхьэщIа псыр тепщэчым итщ. Абы фIыцIагъэ гуэр хэст, цIыкIунитIэт псым хэс фIыцIагъэр, Iущхьэ жылэ хуэдизт зэрыхъур. ФIыцIагъэм еплъащ псори: бжьыдзэ! Бжьыдзэ ипщхьауэ арат Бельом и тхьэкIумэм, арат бэуапIэ къезымытыр. «Уэху!» жиIэжащ Бельом: лажьэ иIэжкъым и тхьэкIумэм. Дилижансым къафIикIащ Бельом. - Сыт къэхъуар? - Згъэзэжынущ, Гавр щысщIэн щыIэжкъым, – жиIащ Бельом. - Гъуэгу уасэр-щэ? – къеплъащ шыгухур. - Гъуэгур зэхуэдитI итщIыкIауэ аращ. Уасэм и ныкъуэращ уэстынур. - И ныкъуэракъым къызэптынур. Гавр дэлъ гъуэгум и уасэр къызэптынущ. - Гавр нэс сыпшакъым уэ. Гъуэгу уасэм и ныкъуэм фIэкI уэстынукъым, – идакъым Бельом. - Къызэптынущ! – икIуэтыркъым шыгухур. Зызэрадзыну къыщIэкIынт, модрейхэри Iэжьэгъу мыхъуамэ. - Уэстынукъым! - Къызумытмэ, дилижансым уиздзэжынщи, Гавр усшэнщ, – икIуэтыркъым шыгухур. Шыгуху домбейм Бельом щIым къытричащ: - Къызэптрэ? - Уэстынщ, фIыкIэ ушх! – жиIащ Бельом и гум къыщIитхъыу. ИтIани ар нэхъыфIщ, щIыр пэкIэ уагъавэ нэхърэ. ТхьэмыщкIэ И пащIэ-жьакIэр тхъуауэ факъырэ къыщыдихьэлIэм, си гъусэм, Давранш Жозеф, франкитху иритащ. Ар щызгъэщIагъуэм, Жозеф хъыбар сригъэдэIуащ: - ЛIыжь тхьэмыщкIэм зыгуэр сигу къигъэкIыжащи, уезгъэдэIуэнщ. ИгъащIэкIэ сщыгъупщэжынукъым ар, си нэгу щIэт зэпытынущ. Сэ Гавр сыщыщщ. ХуэкъулейкIэ укъыдэджэ хъунутэкъым, тщIэнрэ тшхынрэ дыщымыщIэми. Лэжьыгъэр иухырти, пшапэр зэхэуауэ къекIуэлIэжырт ди адэр. Къилэжь щIагъуэ щыIэтэкъым – дызыкъуэмылIыкIынт. Сэ шыпхъуитI сиIэт. Сигу щIэгъурт ди адэм: и Iэр увыIэртэкъым, етIысэхыртэкъым, зэрыжыпIэнуращи, лэжьыгъэм къыдэхуэртэкъым. Си шыпхъухэр дэрбзэрт, зыгуэрхэр ядурэ бэзэрым щащэрт. Тхьэмахуэ къэс, зыхущIэдгъэхьэрти, кхъухь тедзапIэм дыкIуэрт. Дежьамэ, си шыпхъухэр дяпэ ищырт. Я дэкIуэгъуэ хъуати, ди адэми ди анэми я жагъуэтэкъым цIыху яхыхьэмэ, – уи насыпыр къыщоуэлIэнур дэнэ щыпщIэн?.. Кхъухь илъагъуху, ди адэм жиIэрт: - Мо кхъухьым Жюль къикIыжатэмэ! Хэт ищIэрэ: къикIыжынкIи мэхъу. Ди адэм и къуэшт Жюль. Унагъуэм яхэмызагъэу, и щхьэр ирихьэжьауэ щытащ. Сызэрысабийрэ зэхэсхырт Жюль и хъыбар, си нэгу щIэт зэпытти, сыIуплъамэ, къэсцIыхужын къысфIэщIырт. Америкэращ къыщыщIидзар, и щхьэр ирихьэжьа нэужь. И Iуэху зэрыхъуар зыми тщIэртэкъым, и хъыбари унагъуэм куэдрэ щытIуатэртэкъым. Нэхъ сыкъыдэкIуэтея нэужь, къызгурыIуащ Жюль и цIэр куэдрэ щIрамыIуэр. И пIэ изагъэртэкъым, тепыIэртэкъым, и жыпым ахъшэ иригъэлъынутэкъым – Iисраф ищIынут. Ар хьэл Iейуэ ялъытэ унагъуэ хуэмыщIахэм. Хуэкъулейхэм я Iуэхур щхьэхуэщ: ущIихьэми, ахъшэ Iисраф пщIыми, къэбджэдыхьми, ягу трагъахуэ – къазэрыфIэIуэху щыIэкъым. Дауи щрети, и адэм и мылъкум щыщу къылъысауэ хъуар ирикъухьащ Жюль, зы франки къелакъым. Ди адэм дежи къэсащ – абы и Iыхьэри дигъакIуэ пэтащ, IэщIэмышхыхьыпэ щIыкIэ лъэныкъуэ иригъэзащ армыхъу. А зэманым зэрыхабзэти, Америкэм яутIыпщащ Жюль, Нью-Йорк кIуэ кхъухьым ирагъэтIысхьэри. Америкэм къыщыхутэри, сату Iуэху гуэрхэм хэпщIа хъуащ Жюль, щIэх дыди хъыбар къаригъэщIащ и Iыхьлыхэм: и Iуэхур ефIэкIуэн хуэдэщ, ди адэм фIишхауэ хъуар ипшыныжыну щIэх дыдэ зэрыхузэфIэкIынури ибзыщIакъым. А хъыбарым щыгуфIыкIащ ди унагъуэр. ПщIэ лъэпкъ хуащIыртэкъым нэхъапэм, цIыхум хабжэртэкъым, иджы ягъэIуащ: Жюль хуэдэ бгъуэтынукъым, лIым къызэрилъхуар игъэгъуэщакъым, здэкIуам щызэгъащ, и фIыцIэ щыIуащ Америкэм. Америкэм къикIыжауэ кхъухь гуэр Гавр къесылIати, абы и капитаным къыджиIащ Жюль тыкуэнышхуэ къызэIуихауэ, сатум хэзэгъауэ. ИлъэситI дэкIри, Жюль и къуэшым, ди адэм къыхуитхащ: «Си псэм хуэдэ Филипп! Сэр щхьэкIэ умыгузавэ, уигу умыгъэныкъуэ. Сыузыншэщ, лажьи хъати сиIэкъым. Си Iуэхур ефIакIуэ зэпытщ. Пщэдей сожьэ – Америкэ Ипщэм сокIуэ. ИлъэситI-щыкIэ си хъыбар зэхэвмыхынкIэ хъунщ. Умыгузавэ, сынэмытхэми. Си Iуэхур зэтеувэрэ къулей сыхъумэ, Гавр нэзгъэзэжынущ. Нэзгъэзэжмэ, дытхъэжу дыпсэунщ». Жылэм хэз ящIащ Жюль къитхар. Ди адэр и къуэш лъэрызехьэм, ди анэр хыхьэхэкI зиIэ и пщыкъуэм иропагэ. ИлъэситI-щыкIэкъым, илъэсипщI нейкIэ Жюль и хъыбар къэIуакъым. Ди адэм игу игъэныкъуакъым итIани, ди анэми щIичэркъым: - Жюль къигъэзэжмэ, дытхъэжынущ, зыми дыщыщIэжынукъым. И лъэр щиубыдащ Америкэм, щхьэ фIэтт, зэфIэкI иIэти, аращ жылэм щIахэгъуэщар! Ар псоми яхузэфIэкIыркъым, закъуэтIакъуэщ зыхузэфIэкIыр – Жюль хуэдэхэращ! Гавр кхъухь къесылIэху, ди адэр къытреч: - ДехъулIатэкъэ, си къуэшыжьыр мо кхъухьым къикIыжатэмэ! Ди адэм и нэр щIекъуанцIэри кхъухь тедзапIэмкIэ маплъэ, Жюль кхъухь натIэм къеувэлIауэ къызыфIегъэщIри и гур егъэфI… Си шыпхъуитIым я зым, нэхъыщIэм, щIалэ хъарзынэ гуэр къыщIэупщIащ. ЩIалэм и хъыбарыфI зэхахати, ди адэм зиIэжьакъым: си шыпхъу нэхъыщIэр абы иратащ. ХьэгъуэлIыгъуэр зэфIэкIа нэужь, Джерси хытIыгум зыплъыхьакIуэ дишэн мурад ищIащ ди адэм. Малъхъэ къытхуэхъуа щIалэри зыщIыдгъуащ. Джерси унэсамэ, уигу япэ къэкIыр елыркъэшщ. - Елыркъэш къыфхуэсщэхунщ, – жери ежьащ ди адэр. Къищэхуащ, зэхэуауэ къигъэзэжащ. Елыркъэшыр къезыщар лIыжь гъур тхышэт, и нэкIур зэлъауэ. ЩIызэхэуар къыджиIащ: - Елыркъэшыр къызэзыщар си къуэшым щIезгъэщхьар сщIэркъым. Америкэм зэрыщыIэри и Iуэхур зэрыдэкIри сымыщIатэмэ, си къуэшырауэ фIэкI зэрыпщIэн щыIэтэкъым. Шэч ищIа къудейуэ арами, ди адэр тепыIэжыртэкъыми, Джерси дызэрыкIуа кхъухьым и капитаным еупщIащ: - Елыркъэшыр къызэзыща лIыжьым и хъыбар пщIэуэ пэрэ? КIыхь зригъэщIакъым капитаным: - ЕкIуэлIапIэншэ гуэрщ. Америкэм къыщыспэщIэхуащ нэгъабэ. Франджыщ. СфIэгуэныхь хъури, къэсшэжащ. И благъэ Гавр дэсщ, ауэ якIэлъыкIуэркъым, я щIыхуэ телъщи. Жюльщ и цIэр. СыкъигъэпцIамэ, фыкъызогъэпцIэж: и Iуэху Америкэм щыдэкIауэ къызжиIащ. Иджы фолъагъу къызэрыщIидзыжар: факъырэщ, елыркъэш къиубыдурэ ещэ… Ди адэм къигъэзэжащи, и лъэм иIыгъыжкъым. ЕтIысэхри, и щхьэр къиIэтащ: - БжесIатэкъэ: аращ. Жюльщ. - Сыт тщIэнур-тIэ? ЦIыхум дыкъащIэ хъунукъым. Ди малъхъэм къомыгъэцIыху. Ди адэр зэпкърыхуащ. - СылIэрэ сызэгъэжамэ нэхъыфIт, абы нэхърэ. Дапщэрэ жысIа: а хьэхэбасэм хузэфIэкIын щыIэкъым, къиджэдыхьын фIэкI. Ди пщэдыкъым къыдэтIысхьэжынущ – аращ къызэхьэлъэкIыр, – жиIащ ди анэм. - Сыт насыпыншагъэт! - Елыркъэш уасэр ети, Жозеф хуихьыжынщ. Франкитху къызитащ ди адэм. Елыркъэшыр къыдэзыща лIыжьым хуэсхьащ ахъшэр. - Дапщэ уэстынур? – сеупщIащ лIыжьым. Франкитху IэщIэслъхьащ лIыжьым. Къызэплъа фIэкI, зы псалъи къызжиIакъым. Си адэ къуэшыр, Жюль, абы и ужькIэ зэи слъэгъужакъым, щыхэтри тщIэркъым. Абы лъандэрэ, факъырэ къызихьэлIэмэ, франкитху ест си хабзэщ.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "mopasan.txt" }
Мцыри ЗэзыдзэкIар Ацкъан Русланщ 1 Зы зэман гуэркIэ уIэбэжым Къуршыпс уэритI щызэхэхуэжым Къыщхьэщытати къулъшырыф* Зы цIыху иджыри блэмыкIыф, Тхьэм и Iуэху Iэджэ щызэблэкIыу Щыта лъагапIэм хуемыплъэкIыу. Елъагъу иджыри гъуэгурыкIуэм Сэх лъэныкъуабэр, куэбжэ ныкъуэр, Блын уфIыцIахэр къыхуоплъых. Жор пагэм уэгум зыщеплъыхь, ЗылъэIэс пшэхэм ящIу псыф; Унащхьэ задэр бгъэм яцIыху, Къауфэрэзыхьрэ загъэбзэхыу. ГъуэгурыкIуэм куэд зэрегъэзахуэ, ЩыблэкIкIэ Тхьэм ибгына щIыпIэм, МэдаIуэ зэми и фIэщыпэу, АрщхьэкIэ бжэр къыхуIуамых, Тхьэм елъэIу макъи зэхимых. ЩIэсщ къулъшырыфым зы лIыжь закъуэ, Гугъэ къутахэм я хъумакIуэу. Ар щыIэу зыми имыщIэж, ЛIэныгъэ дыдэм щыгъупщащ. Абы сын джафэхэр елъэщI, Тетхар сакъыпэу къыщIегъэщ, Хьэрф къэскIэ дыгъэ тригъапсэу. Абы пщIыхьэпIэрэ гупсысэу Зэригъэзахуэр жэщыр хъуамэ Ирехьэ уафэм и архъуанэм. 2 Зэгуэрым урыс инэрал, Iуэхутхьэбзэ хуищIэу и къэрал, Тифлис лъэныкъуэхэм нэсат, Зы щIалэ цIыкIуи и гъусат. Нэщхъейт хъарыпыр икIи фагъуэт. Ар щхьэ техьат имыцIыху лъагъуэм? Сабийм гъуэгуанэр хуэмыхьат, Узыфэ гуэр къыпкърыхьат, И къару мащIэр щIилъэсыкIыу, Псэр зэрыбауэр пикъузыкIыу. Ар Iэгум ис бзу шырым ещхьт, Игу цIыкIур къилъэтын къыпфIэщIт, Куэд ихьыжынуи мыхъут уи фIэщ, АрщхьэкIэ узым, имыщIэжу, Ещхь ищIыжащ ар и адэжьхэм; Къэушыжащ адэжьхэм я лъыр, Абы къару гъэпщкIуауэ хэлъыр. Иджы ар узым фIэмылIыкIт, ЩэIу макъ и гущIэм къимыIукIт. Пагагъэ щIыIэр и нэгу щIэтт, IэщIыбкIэ шхыныр IуигъэкIуэтт. ИтIанэ, хуэзэри цIыхуфIым, КъыщыщIидзащ ар къулъшырыфым. Къылъыс гущIэгъум къыхэнар Тхьэм пэгъунэгъухэм къахуэнащ. Кърагъэлащ абыхэм узым, Ауэ къэнащ къеузу и псэр. Ар щыужат сабий джэгукIэм, И нэр къуэкIыпIэм хутемыкIыу Тест Iуащхьэм, дыгъэр къухьэжыху, И лъахэу фIэщIыр илъагъуху. Апхуэдэу куэдрэ екIуэкIащ, Ар зэрыгъэрым есэжащ. Хамэбзэр хъуати зэхищIыкI, ФIэфI гуэр зэхихым, пыгуфIыкIт, А зыхуей тIэкIури жиIэфынут. Езым ящыщ зэращIыфынур Ялъагъури, ар къытрагъэхьэ, Чыристан диным ирагъэхьэ. ЗыгъэдэIуар гуфIэжрэ пэт, Езыр жэщ лъагъуэкIэ мэкIуэд. МахуищкIэ пщIэншэу къалъыхъуауэ, ЯфIэкIуэдауэ гугъэу хъуари, Псэр пыт къудейуэ къагъуэтыж, Гъуэгу нэхъ кIэщI дыдэмкIэ къахьыж. Ар шэхуу фагъуэт, башу гъурт, ЩIэкIауэ гъаблэ къыпщыхъунт. Жэуап уи упщIэм къримытт, Ныбжь хъарпшэр гуэри къыщхьэщытт. Ар зэрылIэнур гурыIуэгъуэт, Уэсят ищIыну щытмэ – игъуэт, КъедэIуэжынури къэкIуат. Сабийм и нэпс къыфIэмыкIуа. Къарууэ иIэр зэхуехьэсри, ЩIэгъэкъуэныншэу пIэм къотIысхьэ, Мэпсалъэ, и гур игъэтIысу: 3 «Си иужьрей псалъэм едэIуэнум Къыстохуэ фIыщIэ ныпхуэсщIыну. КъыпхуэзмыIуатэм телъыр псэм, Зыщызгъэзэнщ щIы щIагъым сэ. Есхакъым цIыхум лей игъащIэм, ХэслъагъукIар Дунейм зымащIэщ, Аращи тыншу сызэфIокI, Стемылъу гуэныхь лей къыщIокI. Си гъащIэр сыт, апхуэдэу тIум Хъуэпсэгъуэу зы къыщIамытын, ИтIани ар сымыхъуэжынт: А къэзгъэщIа бэуэгъуэ закъуэм ГурыщIэ мафIэр и гъусакъэ! Абы си ныбжь нимыгъэса, ИтIани си гур йохъуэпсэж. Гугъэ псэрыпIым и лъэтэгъуэм Вагъуэ нэхъ жыжьэр къигъэIэгъуэт. А зэман кIэщIыр сыту IэфIт! И зэшыр зэшу жызмыIэф, И нэпсыр нэпсу схуэмыIуатэ, СызырикIт, ахэр симыIатэм. Иджы къызжеIэт, ещхьу сядэм, Хэт зыжесIэнур «къысхуэгъэгъу»? Сыхуейкъым зыми и гущIэгъу. 4 Уи нэщхъеягъми сигу хегъэщI. Сэ мызэ-мытIэу зэхэсхащ ЛIэныгъэм уэ сыкъебгъэлауэ. КъысфIощI абдежым ущыуауэ. Уэлбанэм жыгым пиха тхьэмпэм Щигъуэтыжынкъым щIылъэм тхъапIэ. Сызэхахакъым зэи Тхьэхэм, СытемыкIарэ пэт я хабзэм. Адрейхэм яIэт унэ-лъапсэ, Я адэ-анэр щхьэщытыжт, Ахэр си деж щызмыгъуэтыжт. Сэ си цIэ дыдэр сщыгъупщащ, Фэ къысфIэфщар къыскIэрыпщIащ. ЦIыкIу хъуащ а псор зыгъэва си гур. Техьэлъэжынкъым си бгъэм щIыгур, А псор си нэгу щIэкIа нэужь. Уэри нэхъ къапщтэу къыщIэкIынщ, Сыкъэзылъхуар зыщызгъэгъупщэм, Си лъахэм сэ сыщIэмыупщIэм, АрщхьэкIэ схулъэкIынкъым ар, Псэм пхухэхынкъым къыбдалъхуар. Гу зи щIыналъэм щызмыхуар Къамылъху пэлъытэу къэнэжащ. ЩыIэнщ а псоми есэжа, Сэ сесэжын схулъэмыкIа. ИтIани нэпс щIэзмыгъэкIа, Зы гугъэ си гум испIыкIащ: Зы тэлай закъуэкIэ нэхъ мыхъуми, Псэ зыпыт гуэрым, хэт ирехъуи, МафIэм ис бгъэр ескъузылIэну, Гум щыщIэу хъуар есIуэтылIэну. Иджы си вагъуэр, мис, ижащ, А псори гугъэу къэнэжащ. ПщылIрэ зеиншэу сылIэжынущ, ХамэщIым сэ сыщIалъхьэжынущ. 5 ЛIэныгъэр зырикIщ, хьэрш хъуэпсэгъуэм ЩымыIэу, жаIэ, гуныкъуэгъуэ. ИтIани гъащIэр сыту IэфI, Ар къэзгъэнарэт жызмыIэф, ТIэкIу сыщIалэIуэщ, уафэ щIагъым И щэху иджыри зыхэсщIакъым. Уэ пщыгъупщауэ мыхъу си фIэщ ЩIалэгъуэр зыщIыр псом нэхъ лъэщ. Ууейщ дунейр ущищIалэгъуэм, Гужьгъэжьым токIуэ лъагъуныгъэр, УригъэфIэнщи пщэдджыжь дыгъэм Я нэхури вагъуэм ууей пфIощI. А гупсэхугъуэ IэфIым щыщ Зэм-зэмкIэ сэри къыслъысащ Лъэхъуэщ пэлъытэм сызэрису, ЗэрыщIэбэгыу лъахэм си псэр, Адрейхэр дауэ къэнэжын. Мы зыри уэ ныбжесIэжынт, Си псалъэр уи гум емыуэнум, Хабзэншэм уэ сахыумыбжэнум: Уэ упсэуащ укъетхъухыху, Уи гукъыдэжыр жьажьэ хъуху; Сэри сиIэну гъащIэ кIыхь Сызэрыхуейр сщумыщI гуэныхь… 6 Щысхьа махуищым дуней хуитым Си нэгу щIэкIам ухуейуэ щытым, Ар IуэтэгъуафIэу къысщымыхъу, СщIыфынщ сылIэху абы и гугъу. Слъэгъуащ зэрещхьыр уафэм губгъуэр, Гъэгъар Шыхулъагъуэу зэриубгъур, Удз дыжьыныфэр зэжэкI Iуащхьэр, Зызыгъэзыжыр, ищIу нащхьэ, Зыхашрэ яIэу къэфэн гугъэр - ПIэм имыкIыфу къэнэж жыгхэр. Слъэгъуащ зы къыр нэщхъейм адрейм IэплIэ хуищIыну зэрыхуейр, Ауэ лIэщIыгъуэхэр зэрыкIуэр, Хуэдэгуу мывэхэр зыщIэкъум. Слъэгъуащ къурш защIэу уафэ гъунэр, Абы и щIыб къыдэт ди унэр. Пшэ хужьхэр, къикIыурэ ди куейм, Жьэгу Iугъуэ къабзэу къыдэкIуейт, Зыкъомрэ къаплъэрти, IусыкIт, Сэри мы щIым зытесIэтыкIт, КъысфIэщIу ахэм сыкъалъагъуу, АрщхьэкIэ спэщIэхат я лъагъуэр, Сыкъытемыщт щIым сэри щIагъуэу… КъысфIэщIт зэхэсхыу, жэщыр хъуамэ, Ди къуажэ хьэхэр зэрыбанэр. А къысфIэщI тIэкIум псэр дэтыншт, БлэкIари IупщIу нэгу щIэкIыжт. 7 Абдежым сигу къихьащ ди унэр Сымылъагъуныр лIэм и гъунэу. СфIэкIуэда псор зэхыхьэжащ, Си гукъэкIыжыр бауэкIэщI ЯщIарэ щхьэм сыхуимытыжу. Зэхэсхт шы гуартэхэр къахужу, Зыщыслъагъужырт сэ ди ныджэм, Сщхьэщылъэт псоми сакIэлъыджэу. Зелъатэрт пцIащхъуэр, псым еIусэу, КъызжаIэу уэшхыр къызэрысыр. Ди унэ зэвым щIэмыхуэжу Пщыхьэщхьэм хьэщIэр къызэхуэст, Хъыбар яIуатэурэ зэхэст, ДжэгуакIуэм уэрэд кIыхь игъэпст. Къыпхыплът пагагъэм лIыжь жьакIэхухэр, Я зыIыгъыкIэм удихьэхыу. Я къамэм мыщIэр къиджэгукIт, Цей хьэзырыбгъэхэр зэкIужт. Я щхьэгъэрытхэм я нэгу къищт А лIыжь нэхутхьэхухэм пщIэуэ яIэр. Псалъэжь хьэзырт абыхэм жаIэр. А псор, пщIыхьэпIэм ещхьу, слъагъут. Си адэр-щэ? Абы сыщIыгъут, И псалъэ къэскIэ сыфIэлIыкIыу, И лIыгъэм си гур къуэгушхукIыу. Си шыпхъу нэхъыжьхэр схуэгумащIэт, Сагъэудэфат, сагъафIэ защIэу. ЕлIалIэу сагъэщIэрэщIэнт, КхъуейплъыжькIэрыщIэм сыздашэнт, Анэшым щыкIуэм, срагъусэт. Си шыпхъухэр къыщIыхьэжт си нэгум, Псы ираутхэу ятIэ лъэгум. Схуэджэгут псым ищIыр тхыпхъэщIыпхъэу, Зэрыгъущыжыр сигу къыщIитхъыу. СыщагъэжейкIэ шыпхъу нэхъыжьхэм СыщIагъэдэIурт уэрэдыжьхэм, КъыщIыхьэу я нэм гугъэ нэпсыр, Щыджэгуу нэпсым дыгъэ къуэпсыр. Иджыщ, Тхьэмадэ, щызыхэсщIэр Щытар си шыпхъухэм я гум щыщIэу. А псорщ си гъащIэр зыхэлъар, Иджы сыхабжэ хъунущ лIам. 8 Щысхьа махуищыр дуней хуитым КъэзгъэщIа мащIэм хэпхыу щытым, Къэнар уи жьыгъэм пэмыхъунт, Дунейр си дежкIэ фагъуэ хъунт. Сигу илът куэд щIауэ кIуэсэжыныр, Сыщалъхуа щIыпIэм згъэзэжыныр, Сытемыгушхуэу екIуэкIат. СымыкIуэжами, нэгу щIэкIар ГуфIэгъуэ Iэджэми я уасэщ. Арати си гур зыхуэхъуапсэр - КъэсщIащ зищIысыр хуитыныгъэр, ХуэсщIащ нэпсейуэ IэплIэ жьыбгъэм; СакIэлъыкIуатэрт пшэхэм нэкIэ, Субыдырт уафэхъуэпскIыр IэкIэ… Сыт щыбгъуэтыну фи псэупIэм, Иувэфыну а псом и пIэ?.. 9 СыкъэувыIакъым сыгъуэщэху. Зы вагъуэм щIыр къимыгъэнэхут. КъызгурыIуами къыспэщылъыр, Щхьэр дэуназэу, хыхьэрт си лъым Жьым къихь салъкъыныр, и мэр щыблэм. СимыIыгъыжу афIэкI си лъэм Удз кIырым бгъэгукIэ сыхэхуащ, СыдаIуэу, сэ зызущэхуащ. КъэсщIакъым щыIэу къыскIэлъыжэ. Уафэм гъуэгъуэныр щигъэтыжри Нэху мащIэ пшэм къыкъуигъэщат, Сызэпиплъыхьуи къысфIэщIат, СыкъыздикIар къыгурымыIуэу. Сэ сыцIыкIуIуэт, ар иныIуэт. ЗэкIэлъхьэужьу екIуэкIт бгыхэр, КIуэрт, зыр адрейм къыкIэрымыхуу. Сыумэзэхауэ сыхэлът удзым. Щыгъуэгт зэм-зэмкIэ хьэIуцыдзыр Мэз лъапэм, ещхьу сабий цIынэм. Абы ешыхукIэ лъыхъуэрт си нэр. Слъагъут блэр, щылыду и фэр жэщым, МывитI зэхуакум зэрыдэпщыр, Ауэ шынагъуэр зыхэзмыщIэт, СыщIибгынар абы сымыщIэт. ЗыхэзгъэпщкIуащ сэ, блэуэ, удзым, ЦIыхухэр щызекIуэм зыпыIуздзу. 10 Зэхэсхт псы уэрыр зэрежэхыр, Ибжыжу мывэу ирихьэхыр, Нэхъ хьэлъэм Iэджэрэ щIэрыIэу, СфIэщIт абы и бзэр къызгурыIуэ. Къуршыпсым, щехым деж къиуауэ, Къыпхопсыр гъащIэм и зэдауэр. Псыр зэм нэхъ щымт, зэм къитхъутхъукIт, КIыфIыгъэм ар хэзмылъагъукIт. Сэ къыстещхьащ апхуэдэу нэху. Бзум я уэрэдыр зэфIащIэху Зызмыгъэхъейуэ сыщылъащ. Зэ, сыхъури жейм сыпэмылъэщ, СыIурихати зэман кIэщIкIэ, Си нэгу щIэкIащ лIы гуп къызэщэу, Сыкъаубыдыжу сашэжыну, СызыщIэсам сыщIадзэжыну. Сыкъэушащ, къилъэту си гур. КъытеспхъуэтыкIыу си щхьэр щIыгум Зыкъыщысплъыхьым, пцIыр хьэрэмщ, Щыз хъуакIэт шынэр лъынтхуэ уэм. ЩыхупIэ нэзым сэ сытелът, Селъэтэхам, симыIэт къел. Сриудыхынут зы хугу хьэдзэм. Сыхуэсакъыпэу зыщызгъазэм, Iэр зытесх мывэр йолъэтэх, ЗдэкIуэнум ар нэсакъым щIэх… 11 Си хъуреягъыр ещхьт жэнэтым, Гъэгъахэр нащхьэкIэ къызэтэрт. Уафэм къеха гуфIэгъуэ нэпсыр Тхьэмпэ жейбащхъуэхэм къытепсырт. ЩIидзат хэхъукIыу мэз жызумым, Куэд мыщIэу бзухэри къэсынут, ФIыцIагъэ зиIэр хауIукIыу. Мы дуней псор къысщыгуфIыкIыу КъыщIысщыхъуар абдеж сымыщIэ, Стелъа гугъуехьыр сщигъэгъупщэу Къыщыушащ IэфI гуэр си гущIэм. ЗескъузылIащ аргуэру щIым, СыщIэдэIукIыу къепщэ жьым. Жьыр зэм удз кIырым еIущащэрт, Зэм пшэм я щэхур зригъащIэрт, Игу къыщихьам ирихужьэжу. Макъ Iэджэ къэIут, зэщIэжьыуэжу, Сапэджэжам арат жысIэжу, КъызэдэIуэн яхэт къысщыхъуу. ЗыхэсщIа псоми абы щыгъуэм Мыхьэнэ щIагъуэ имыIэж, ИтIани сфIэфIу соIуэтэж, Сопсэу гупсысэкIэ нэхъ мыхъуми. СылIэнт, абыкIэ сигу хэмыхъуэм. Апхуэдэу къабзэт а пщэдджыжьыр, Апхуэдэу нэхути уафэ лъащIэр - Плъагъунт, блэлъэтым, мелыIыч. А псом щыщ гуэри сигу пымыкIт. АрщхьэкIэ лъагэ мэхъури дыгъэр И бзийхэм щIадзэ сыкъалыгъуэу, Куэд мыщIэу си Iур йогъущIыкI, Псыр мэхъу гупсысэм схухэмыкI. 12 Псы сылъыхъуэну мурад сощI, ЩыхупIэм сехыфын къысфIощI. КъызэфIэзгъэщIт зэрыкIуэр си Iум, Гур игъэтIысу, къуршыпс щIыIэр. Семыплъыхыну и ужь ситу, Субыду сыт къэзгъуэту щытми, Хуэм дыдэу къырым сокIуэтэх, Абы увыпIэ тезгъуэтэху. Бэлэрыгъауэ сытеувэм, Гуолъэтыр, псым хэхуэжу, мывэр, Сэри щыхупIэм сыфIэлъащ, Ауэ, болъагъур, сыкъелащ. ЛIэныгъэр хъуркъыми и фIэщ Аращ щIалэгъуэр зыщIыр лъэщ! Псы щIыIэм Iупэр щыхэсщIам КъыпхуэIуэтэнкъым зыхэсщIар. Хэлът а тэлайм гупсэхугъуэ, И мэ IэфI гуэр си сабиигъуэм. Абдеж макъ щабэ зэхызох. Къилъэту си гур, зызоущэху. ИгъэIут бзылъхугъэм и уэрэдыр, Езыр зыхуейм фIэкIа хэмыту, Сэ сызэсахэми хуэмыдэу. ПэIэщIэт ар уэрэд жыIэкIэм, И макъри ещхьтэкъым, арщхьэкIэ Езы уэрэдыр гугъэм ещхьт. Ар къохьэ сигу пщыхьэщхьэ къэс… 13 КърикIуэрт пщащэр лъагъуэ бгъузэм, КъысфIэщIу щIылъэм емыIусэ. Къришт уэрэдыр, мыгупсысэу, Мы дунеижьым хуищIу нащхьэ. ЩиIыгът кхъуэщыныр и дамащхьэм. Сызыхэт псор абы имыщIэт, И гъащIэр тыншт сысейм емыщхьу. КъызэрыгуэкIми и щыгъыныр, И теплъэм бей къыпщигъэхъунут. ЗэкIужт абы кIэрылъ илъэпкъыр. Зеичу лантIэт и Iэпкълъэпкъыр, Зеипсри и фэм къызэпхыпст, И пщэр, къыупщэу, хьэуам щест. ИIэтт щхьэтепхъуэри, нэгу къабзэр, Пшэм къыкъуэплъ дыгъэу, къыптригъапсэрт. ЛIарт зылъэкIынур мыхъуэпсэн, Апхуэдэ пщащэ къыхуэзам. Сихьэхури сэри а дахащэм, Сщигъэгъупщат хэлъ псор си гъащIэм, Хыр щыуфафэ и нэ лъащIэм СыщIэтIысыкIри сежьэжат, Гухэлъри япэу зыхэсщIат, АрщхьэкIэ псори – зы тэлайт. Сэ, зыкъэсщIэжу, сыщыплъам, Ар нэсыжакIэт бгым и щыгум, Зи щхьэкIэр уафэм хыхьэж щихуу. ИтIанэщ сэ къыщыслъэгъуар УнитI къыр мывэм хэщIыхьар. Щхьэщытт тIум язым и унащхьэм, Iэнкуным ещхъу, Iугъуэ мащIэ, ЗдэкIуэнур ищIэркъым жыпIэнт. Иджыри къэс си нэгум щIэтщ Бжэ хэщIыхьар къызэрыIуахыр, ЗэрыщIыхьэжыр пщащэр пагэу. Кхъуэщыныр мащIэу иригъэщIри ДэкIащ бжэблыпкъым, зимыгъэщхъыу!.. ЗыщIар абдежым си гур нэщI КъыбгурыIуэну мыхъу си фIэщ. КъыбгурыIуами – хъунт си жагъуэ. НэхъыфIщ зыхэсщIэм ар си закъуэ. Абы, псым ещхьу, сыхуэлIэнщ. А псор си гъусэу ирелIэж. 14 ЗыхэсщIэу си гур зэрыпихыр Сыщыгъуэлъащ сэ жьы зэпихум, Аргуэру жейм сыхилъэфащ. КъысхуэкIуа пщIыхьым, щIы уи фIэщ, Нэхъ IэфI слъэгъуауэ сымыщIэж. Си нэгу аргуэру къыщIохьэж Куржы хъыджэбзыр, збгъэдэкIуэту, ЖесIэну псалъэр сымыгъуэту. Зыкъысхуегъазэри мэгуфIэ, КъыгурыIуауэ жызмыIэфыр. Пщтыр гуэр, зищIысыр къысхуэмыщIэу, ЩызэбгрокI абдеж си гущIэм, Аргуэру си Iур егъэгъущ. Псы сыхуэлIауэ сыкъоуш. КъыщIокI сыхэлъу мывэкIэщхъым. Къижыхьырт жьыбгъэм бауэкIэщIу. Псы толъкъун щIыIэхэри утхэрт, Зэм-зэмкIэ щIыфэр ягъэтхытхыу. МазэщIэм хуэму пхишт и лъагъуэр, Абы ещакIуэ пшэм и закъуэт ИджыкIэ уэгум сэ щыслъагъур. КIыфIт дунеижьыр икIи нэщIт, Абы аргуэру сигу хигъэщIт, Щыху щымыIэжу къысфIигъэщIт. Абы сыхэту – хуозэж си нэр Куржы хъыджэбзыр зыщIэс унэм, Щхьэгъубжэм нэху къыдоджэгукI. Абдежым си гур къогуфIыкI. Унэм сыкIуэну сигу къихьат - ЕрагъпсэрагъкIэ зысIыгъащ, Си гукъыдэжыр ескъухащ. Сытехьэжащ аргуэру гъуэгум, Сыхуэплъэу фIыуэ слъагъу си хэкум, Ауэ, куэдыщэ симыгъэкIуу, Мэз кIыфIым сыкъыщыхутащ, Сызытет гъуэгури сфIэкIуэдащ. 15 Абдежым, дауи, согужьей. Сыпхыпщт лъэнтхъуийм ищта пыжьейм, Сытехьэжын си гугъэу лъагъуэм, АрщхьэкIэ мэзт си хъуреягъыр, ЦIыху щыземыкIуэ чыцэ мэзт. Нэхъ хьэлъэ хъурт лъэбакъуэ къэс. Къудамэ къэскIэ къыспэщIэтт, Си IитIри банэм ифыщIат. Щымыхъум, жыгым сыдокIуей, Зэзгъэлъагъун си гугъэу куейр, Къыщыслъыхъуэну абы гъуэгур, АрщхьэкIэ мэзыр пыхьэрт уэгум. Ар слъагъущ, жыг щхьэкIэм сыкъехыжри, ЩIы псыIэм нэкIукIэ сыхэхуащ, Си нитIым нэпс къысфIыщIэхуащ, Жыг тхьэмпэ Iувым хэкIуэдэжу. ЩIыр къистхъут IэбжьанэкIэ абдеж, АфIэкI симыIэт гукъыдэж. Сызыщыгугъти симыIэххэр, Мы дунеижьым сыкъыхэхурт. Мыгузэвэнт сэ щхьэкIэ цIыхухэр. Абыхэм дежкIэ сыпсэущхьэт, Гухэлъ схуэфащэуи ямыщIэт. Мы си гур псоми ящыкIат. Абдежым сэ къызжьэдэкIам ЛъэIу псалъэ закъуэ, щIы уи фIэщ, Си бзэгур къисчыжын къысфIэщIт. 16 СыщыцIыкIуар езым уощIэж. Плъэгъуа си нэпсыр къыщыщIэж? Мыбдежым сэ зысхуэIыгъакъым. Хэт сыкъилъагъурэт? Мэзыжь закъуэм, Уэгу мазэ хэти зыгъэзахуэм… Сыт сщIэнт, аргуэру сотэджыж, IэщIыбкIэ нэпсыр солъэщIыж, Сожьэж, си гъуэгум сылъыхъуэну. ЩIэкI хъуащи си лъэр гъэщIэгъуэну, Си гукъыдэжым зеузэщI. Солъагъу куэд мыщIэу щIыIэнэщI, Жыг зэмыфэгъукIэ къэхухьауэ, Удз нэфIэгуфIэр щикъухьауэ. Гъэгъахэр къаблэрт щхъуэкIэплъыкIэу, КъысхуэкIуэрт, нэр щагъэункIыфIыкIыу, Зыздзыну сэри сыхьэзырт, Ныбжь псынщIэм си нэр хуэмызам. Си нэгум щIэкIыр къысфIэмыщIт. Къыхэлъри пабжьэм зы щомыщ ЩигъуэлъыкIащи удз гущIыIум, Зэм зыкъеплъыхьыр щIыIэ-щIыIэу, Зэм йогъу къупщхьэшхуэ къыздихьам. Абдежым си лъым къыхыхьащ Бэяу зымыщIэ гукъыдэжыр, Къигъэушыжу си гужьгъэжьыр. Къызощтэ бжэгъуи бийм сыпожьэ. Е згъэтIысынт сэ си губампIэр, Е сыздежьар схуэхъунт кIуэдыпIэ, Ар къритхауэ щытмэ натIэм. Сыщалъхуа хэку сыщыIэжатэм, МыIейуэ щауэ къысхэкIынт. КъыщызгурыIуэр ар иджыт. 17 Езы щомыщми зыхищIат Зыгуэрым Iуэху къызэрищIар. Губжьащ ар, хъууэ бауэкIэщI, Гыз макъ и гущIэм къиIукIащ, ЩIидзащ щIыр лъапэкIэ къритхъуу, Гъэгъар лъэбжьанэкIэ зэфIитхъыу. КъэпкIэн хьэзыру етIысэхри, Къэплъащ, кIыфIыгъэм щыумэзэхыу. Абы и япэ зыкъичыгъуэм ХэлъынкIэ хъунут си кIуэдыгъуэр, АрщхьэкIэ сэри сыхьэзырт. Бжэгъу кIэщI си Iэгум щыскъузар Техуащ и натIэм хьэкIэкхъуэкIэм, И губжьыр гызкIэ зэрихъуэкIыу. Ар къаплъэрт, цIыхум ещхьыркъабзэу, Нэм къытелъадэ лъыри къабзэт. ЗытIэкIурэщ ар зэрыщылъар. Къыщылъэтыжри, къысхуилъащ. ЛIэр Iуахыу зауэр дыублащ! 18 Щылыдри и нэхэр кIыфIыгъэм, Зыкъысхуидзащ, къыхуэзэу си бгъэм, Ауэ и кIэныр къимыкIа. Си бжэгъур бийм жьэдэзукIащ, ТIэунейрэ исIуэнтIыхьыжащ, И кIуэцIыр гуанэм езгъэфыщIу. Хъийм сыщIикIар сэ къысхуэмыщIэт, Сыхъуат хьэлыншэ, гущIэгъуншэ. КъыслъыкъуэкIати къаруушхуэ, Хэт къыспэувми хэзгъэщIэнт. Сысакъын хуейуэ сымыщIэжт, Езы щомыщри щхьэмыгъазэт. Къарууэ иIэр зэхуихьэсри, ЩIидзащ лъэбжьанэр къысхиукIэу. Абдежым IэплIэ зэдмышэкIыу ЩымыIэт зэрыхъун уи фIэщ. Апхуэдэу дэ дызэрыфыщIт, Зэм щIым дытехуэу, зэм дытэджу, Зым илъ адрейм и нэгум щIэкIыу. Абдежым тIури хъуат дызэщхь, ТIум дигуми илъыр зы гужьгъэжьт. Ар, цIыхум ещхъу, зэм щэIунт, Сэри, щомыщу, сыгурымт, Сыкъыщыхъуащ жыпIэнт мэз щIагъым, Сыщыужат къыздалъхуа макъым… ХэщI хъуащ щомыщым и къарум, Иджы нэхъ мащIэуи гурымт. Сикъузыжащ иужьрей дыдэу; И нэ утхъуар къыстриубыдэщ, Пагагъэ хэлъу къызэплъыжри, Ещэтэхащ, псэ хэмытыжу. IущIащ лIэныгъэм, зимыгъэщхъыу, ЗауэлIым я нэхъ хахуэм ещхьу!.. 19 Си щIыфэ псом уэ щыплъагъунщ Щомыщ лъэбжьанэм и лъэужь, Иджыри къэскIэ мыкIыжауэ. Гугъу срагъэхь абыхэм, ауэ ЩIы щIагъым сытри щыхъужынущ, УIэгъэ куури щыкIыжынущ. А псор сымыщIэт абы щыгъуэм, Си гущIэм щыблэрт мафIэлыгъэр. Зэхуэсхьэсыжри схэлъыр лIыгъэу, Си гъуэгум сэ сытехьэжащ, Ауэ дунейр къызэпцIыжащ, Къысщыдыхьэшхыу къыщIэкIащ. 20 Мэз Iувым зэ сыкъыIэщIокI. Къыспежьэу дыгъэри къыщIокI, Игъэхуэбэжу пIыщIа си псэр, КъригъэутIыпщрэ мэзым и бзэр КъыскIэлъыджэжу игъэпсалъэу. Солъагъури жыжьэу Iугъуэ налъэ, Ди жылэм сфIощI сыкъэсыжа, Абдежым си лъэр мэхъур жан, Ауэ кIэщIыIуэт си гуфIэгъуэр. Куэд мыщIэу мэхъур гурыIуэгъуэ СызэрыкIуэжыр си гъэрыпIэм. КъэсцIыхужакIэт сэ мы щIыпIэр. Си хэку аргуэру сыщIымыгъут, Ар зыхэпщIэныр сыту гугъут. КъыщIэкIт сшэчахэр зым щымыщу. Сытехьэжынуи гъуэгу щIэрыщIэу Къару симыIэт иджыпсту. Си гъащIэ дыдэри щIэстынт Сыщежьэм щыгъуэ сиIа гугъэм, АрщхьэкIэ ари мащIэ хъунут. Аргуэру Тхьэм сагъэщIэхъунут. Сытрагъэплъауэрат дунейм, Сыхуагъэзэну псом нэхъ Iейм. НэгъуэщIым зыкIи семыфыгъуэ, Ауэ хаутэ хуитыныгъэм И залэ сэри къыслъысам, ЛъэгущIыхь хуэсщIынти Тхьэхэм псэр. Си натIэм итыр гурыIуэгъуэщ. Абы хэплъхьэжым уи гущIэгъур, Хьэрш жыжьэм си псэр йохъуэпсэж… Иджы къэсIуатэм согъэзэж. КъэсцIыхужа нэужь мы щIыпIэр, Слъэгъуа нэужь сыужэгъуа бжьэпэр, Сыхэту пщIыхьым къысфIэщIащ. Илъагъур нэм щыхъуар си фIэщ Къеуа нэужькIэщ мо тхьэгъушыр. А макъым сэ сигъэлъагъужырт ЗэрыспэIэщIэр си Iыхьлыхэр, Сымыгъуэтын сызэрылъыхъуэр. СыщыцIыкIуами, сигу къокIыж, Тхьэгъушым куэдрэ сщхьэщихужт Си лъахэм щыIэ си пщIыхь IэфIхэр. СедаIуэрт, зыри жызмыIэфу, Абы и макъ хыхьэжым уэгум, Къысщыхъут къиIукIыу ар си бгъэгум, Зыгуэрхэр гъущIкIэ къеуэу бгъэм. Лъэтэжырт пщIыхьхэр – сэ сыгъэрт. КъызгурыIуакIэт абы щыгъуэм СызэрыпыкIыр хуитыныгъэм. 21 Сэ къыслъысар къэзлэжьыжащ, Сызыхуэзари схуэфэщэжщ. Шы абрагъуэм шу жьгъейр Иридзыхащ, хьэрэм нэхъей, Къыщигъэнащ ауану губгъуэм, Езыр хыхьэжри хуитыныгъэм. Сыздэмыхъунум сыкъыдэжэу СыщIыхэтар къызгуроIуэжыр: Ар гугъэ нэфым и джэгугъуэт, Акъыл сымаджэм и техьэгъуэт. А псор гъэрыным къыхэкIащ. Пэш кIыфIым щагъэкIа гъэгъар Мыхъуну губгъуэм итым ещхь, Хуэпабгъэу дыгъэм гъащIэр ехь. Зыгуэрым и гум къэмыкIатэм Гъэгъар игъэIэпхъуэну хадэм, Ар куэд дэмыкIыу хэгъуэжынт, Зыми сэбэп хуэмыхъужынт. КъыщIэмыплъар игъащIэм унэм КъытепхьэжакIэ дуней иным, Дыгъэм и бзийм пэщIэтыфыну, И лъабжьэр щIым хиубыдэжыну?.. 22 Апхуэдэ гуэрхэт псэм зыхищIэр, СыкIуэсэжыну сэ сыщежьэм, Иджыри пэжу къыщIэкIащ. Зыкъезгъэлын схулъэмыкIа Дунейм и хьэл зыхэзмыщIыкIым. Си гукъыдэжым сыпигъэкIри, Щрипхъыжащ си гугъэр куейм. КуэдыIуэ зэуэ сэ сыхуейт, Абы игу пыкIыр сыту мащIэт! Къысхуигъэнамэ зэкIэ гъащIэр, КъысхуимыщIа щымыIэ фIэщIт, Ауэ зыхэсщIэр сэ нэгъуэщIт, СимыIэт налъэ щыгуфIыкIыу Дунейм сэр щхьэкIэ и гум пыкIым. А псом и щIыIукIэ дыгъэр дзакъэрт. Щхьэр тхьэрыкъуэфым щIэзгъэзагъэрт, Ауэ бэуапIэ сымыгъуэтт. Зэм бахъэ пщтыр къысIурыуэнт, ЩIыгулъым и мэр хэшыпсыхьу, Щхьэр дэуназэу си Iум ихьэу. Даущ къудей къысщхьэщымытт, Зы бзу дунейм зэрытемытт, Дунейр зыкъутэр фи тхьэгъушырт, ЗгъэщIагъуэр еуэр зэремышырт. Зы блэ дыщафэ удзым пхыпщт, Тхьэмпэ гъужахэр игъэщхъыщхът, Слъагъут абы и фэр, ещхьу тхыгъэм, ПэщIигъэувэу хьэрфхэр дыгъэм. IуокIуэтри, къаплъэу къысхуотIыс, Абы нэхъ хэлъ къысфIэщIт нэмыс… 23 Щытепщэт дыгъэр уафэ щIагъым. Ар хуэгъэпщкIунут зы пшэ закъуэм, Дунейр IэщIэлъ къыфIэщIрэ пэт. Псом нэхъ къарур зыщIэнур хэт? АрщхьэкIэ пшэри къэмыпIащIэт, ХищIыкIыр сытыт абы си гъащIэм. КъуршитI гъуэз мащIэм къызэпхыщт, Ди къулъшырыфыр зым къыкъуэщт. Къуэ лъащIэр зэми слъагъурт хуиту, Щызэхэхуэжрэ псы уэритIыр, КъемыплъэкIыжу, хуэжэу хым. Щхьэщытт дыжьын тхъурымбэр псым. А псор спэжыжьэт, слъагъурэ пэт. Сежьэн си гугъэу зызоIэт, АрщхьэкIэ си щхьэр мэуназэ. Сэ сыкIиинут, ауэ си бзэр КъызэмыдаIуэу къыщIэкIащ, Аргуэру Iур игъущIыкIащ. ЙокIэрэхъуэкI, сыдэкIуэу, щIылъэр… Сэ къызгурыIуэрт сызэрылIэр. Нэгу щIэкIт сыщIэлъу къуршыпс щIагъым, Мы дуней хуитыр сымылъагъуу. Бдзэжьейхэм си бгъум къыщажыхьт. Псы щIыIэмылыр езгъэжэхт Тэмакъым, си гур игъэтIысу… Псэм зигъэпсэхути апхуэдизу, Сышынэрт жейм сыхилъэфэнкIэ. Толъкъунхэр ехт, зыр зым пежэкIыу, Ягу сыпымыкIыу къысхуеплъэкIыу. Къыпхыпст псы къабзэм дыгъэ бзийхэр, ЯгъафIэу си бгъум щес бдзэжьейхэр. СощIэж бдзэжьейхэм ящыщ зыр: КъысхуэгуфIэну ар хьэзырт, Къысщихъуэрт щабэу и кIэмажьэр, СыкъицIыхуа нэхъей игъащIэм. КIэмажьэр, кусэ хыхьэу, плъыжьт, И нэ удзыфэхэри плъызт, Зэшыгъуэ мащIэм щIэтIысыкIыу… Псым щищI нэрынэм къыхэIукIыу Абы и макъыр къыслъэIэст, Щэху дыдэ пэтми, гущIэм нэст. Абы жиIахэр сигу имыху, Хэлъа IэфIагъри схуэмыух. Абы къызжиIэрт: «УмыкIуэж, Сэ гъусэ сыпхуэхъунщ. Псы щIагъым зэштегъэу щыкуэдщ, Тыншыгъуэ щыбгъуэтынщ. * * * Си шыпхъухэм псоми сыкъеджэнщ, Абы ямыщIэ щхьэх. КIэмажьэм тету пхуэуджынщ, Жей IэфIыр къыптекIуэху. * * * ПIэщхьагъщ ятIагъуэр, ужеиху, Псыпыхур уи тепIэнщ. ПщIыхь хьэлэмэтым ухэтыху, ЛIэщIыгъуэ Iэджэ кIуэнщ. * * * Уэ си псэм фIыуэ уилъэгъуащ, Ар зыми щызмыбзыщI. Уисащ иджыри къэс лъэхъуэщ, Иджы ди гъащIэр зыщ…» Абыхэм куэдрэ седэIуащ. Бдзэжьейм къызжиIэр хъурт си фIэщ. ИтIанэ си нэр щоункIыфIыкI, Бдзэжьейр слъагъужыркъым афIэкI, Псым и даущри зэхэзмых, Мэхъу си гум зыри сIэпимых… 24 Апхуэдэу сыкъагъуэтыжащ, Пэж защIэщ ныпхуэсIуэтэжар. ЖысIар ухуеймэ щIы уи фIэщ, Ухуейм умыщI – узэрыфIэфIщ. Зы гуныкъуэгъуэщ псэм техьэлъэр: СыщыщIалъхьэну си щIыналъэм Иджы гугъапIэ симыIэж, КъэзгъэщIэжыни щымыIэж. Мывэ сын закъуэщ къысхуэтыжыр Хьэрф зеиншафэхэр тетыжу. ЩысхухэфтIэжми ар си кхъащхьэм Тетха дамыгъэм ищIу нащхьэ, БлэкI куэд флъагъункъым къеплъэкIыжу, Си гъащIэр я гум къагъэкIыжу… 25 Уи Iэр къызэти сыгъэIыгъ. Iэм и пщтырагъыр псалъэм щIыгъущ. КъыпхуиIуэтэнущ си Iэгу щабэм Хэлъам щыщ Iэджэ си гугъапIэм. А мафIэм сес сызэрыцIыкIурэ, СепщIыхь си лъахэм сызэрыхъурэ, Иджы ар жыжьэ здызохьэжьэ, Ар иужь дыдэу уэ зыхэщIэ. Уэ пхуэдэу си Iэр зыIыгъын СыздэкIуэм щымыIэнкIэ хъунщ… ЛIэныгъэм сэ сыщымышынэ, Зэгуэрым псори дылIэжынущ, Хэт нэхъ пасэIуэу, хэт нэхъ кIасэу. КъэзгъэщIа псори и мыуасэ Сыщалъхуа пщIантIэм сыщыджэгуу Нэгу къыщIыхьэж псэхугъуэ тIэкIум… 26 Иджыри лъэIу пхузиIэщ дадэм: СыщылIэм деж, сегъэхь жыг хадэм, СыщIэвгъэгъуалъхьэ кIарц жыгыжьым, КъысщIихуу лъахэм къикI акъужьыр… Абдежым удзыр щынэхъ уэрщ, КъыщыIур бзухэм я уэршэрщ, ЩыщIэтщ жыг тхьэмпэм дыжьыныпс, Жьы хъуар абдеж щохъуж щIэрыпс! Абдежым сэ сыщывгъэтIылъ. ХэвгъэщIу фигу, фыкъызэмыплъ. Сэ сыпсэунщ иджыри тIэкIурэ, Слъагъу къысфIэщIыжу адэжь хэкур, Абы и макъыр зэхэсхынщ: Ар акъужь щэхум къысхуихьынщ. Насыпкъэ уи псэр щыхэкIынум Анэдэлъхубзэр зэхэпхыну!.. Сэ къысфIэщIынущ абы щыгъуэм Си шыпхъу нэхъыжьхэр къыздэщIыгъуу, СагъафIэу, сыщыцIыкIум хуэдэу. СыщIэжеикIыу я уэрэдым Я гугъэу, си нэр зэтеспIэнщ, ХуэзмыщIу зы псэми губгъэн… *Къулъшырыф – монастырь
{ "source": "adygabza.ru", "id": "mtsyri.txt" }
Зыми тщыгъупщэркъым Хъуажь Мухьэмэд-хъер и фэеплъу Зы лIыфI гуэр дэсащ ди къуажэм, Псоми «бегъымбарщ» хужаIэу. Зэи зэхуащIтэкъым и куэбжэр, КъыхуэкIуэ защIэти Iуэху зиIэр. Хэт щхьэкIи къигъуэтыфырт псалъэ гуапэ, И теплъэкIи гурыхьт, лIы бжьыфIэт, Нэмэз щIыгъуэм мэжджытыр хуэхъурт кIуапIэ, УазкIэ цIыхухэм яхуихьу гугъэ IэфIыр. Къуаншагъэ зылэжьам еущиерт Iэзэу: «Щытыпхъэщ хэти хьэл-щэныфIэу, напэ къабзэу». А «бегъымбарыр» Хъуажь Мухьэмэдхъерт, ЩIыналъэ жыжьэ Сирием къыщалъхуауэ. Абыи лэжьыгъэшхуэ щигъэхъейрт, Юрист IэщIагъэм Дамаск щыхуеджауэ. Апхуэдэ Iэмал къызэрыкъуэкIыххэу, КъэIэпхъуэжат адэжьхэр щалъхуа лъахэм. Кенжэ дэтIысхьэжри унагъуэу, Гу ящихуэжащ и лъэпкъэгъухэм. Къилъытащ абдежым и къалэну – Лъэпкъым папщIэ хуэлэжьэну диным. ЦIыхухэм къыдаIыгъри хьэрычэтыр, Къуажэм щригъэщIыфащ мэжджытыр, КъагуригъаIуэу КъурIэным и пщIэр, Дэсащ къуажэм Алыхьым и лIыщIэу. Хъуажь Мухьэмэдхъерщ зи сэбэпыр, Куэдым диным зэрыхуагъэзам я гупэр. IуэхуфIхэм цIыхухэр къыхуриджэу, Нэхъыбэ хъуат КъурIэным еджэр. ЖиIэрт уи бзэкIэ диныр зепхьэным Псапэу пылъыр икъукIэ зэрыиныр. Хьэрыпыбзэр ищIэми, уэрсэрыжьу, Ар иригъэщакъым япэ зэи Хъуажьым. ФэрыщIагъ хэмылъу дин зэрызехьапхъэу Дэтлъэгъуащ муслъымэн нэсым и щапхъэ. Зэман дэкIами зэрытхэмытыжрэ, Илъщ псоми ди гум ар тщымыгъупщэжу. Бегъымбар пэлъытэм и пщIэр тIэту, ДокIуэ дэри Хъуажьым и мэжджытым. Бекъул Мухьэмэд-хьэжы, Кенжэ къуажэ.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "muhamad.txt" }
Шэрджэсейм и Iимам Мухьэммэд-Iэмин ЦIыху акъылым сыт щыгъуи зэрегъэзахуэ фIым хуэзышэну гъуэгур къызэIузыхын гупсысэ щхьэпэхэр. А гупсысэр лъэпкъ псом щепхам и деж, къохъулIэнур куэдкIэ елъытащ блэкIам еплъыкIэ пэж ухуиIэным, къэхъуахэм я хъэбархэми нэсу ущыгъуазэным. И мэхьэнэр нэхъ иныжщ а узыщыгъуазэм щыщу уи фIэщ пщIы хъунумрэ мыхъунумрэ зэхэбгъэкIыным. Зи зэгъэзэхуэкIэр иджыри зыхуей хуэмыза напэкIуэцIхэм язщ Къэфкъаз зауэм и лъэхъэнэм Щамил Iимамым Адыгэхэм лIыкIуэ яхуищIа Мухьэммэд-Iэмин нэIибым теухуауэ щыIэ тхыдэ щIэныгъэ Iэхьэр. Адыгэгур Мухьэммэд-Iэмин бгъэдэгъэкIуэтыныр урыс пащтыхьыгъуэм и зэрыпхъуакIуэ амалу къызэрекIуэкIам нэмыщI, Iуэхур езмыгъэфIакIуэ щхьэусыгъуэхэм хохьэ а тхыдэ къудамэм елэжь щIэныгъэлIхэр нэIибым и гъащIэр диным пымыщIауэ, абы хэгъэщхьэхукIауэ къагъэлъэгъуэну зэрыхуежьэр. IэщIагъэм и гугъу умыщIу IэщIагъэлIым утепсэлъыхьыну гугъущ: Мухьэммэд-Iэмин дин узэщIакIуэт, аращи, гурыIуэгъуэу щытын хуейщ ислъам диныр Iуэхум щымыщу, нэIибым и шыфэлIыфэр IупщI зэрымыхъунур. КъекIуэкI бгъэдэхьэкIэм сыт щыуагъэу къыздихьыр жыпIэмэ, лъэхъэнэхэм я нэхъ зэIумыбзым дяпэ итахэр гъуазэншэу зэрыщымытар, абы къикIыр - лъэпкъ банэныгъэр, къэралыгъуэ щхьэхуэм зэрыхуэфащэу, хабзэ укъуэдиямрэ унафэ узыншэмрэ я жьауэ щIэту зэрекIуэкIар зэрыдмыщIэм, дяпэ итахэм зэрахьа лIыгъэри лIыгъэу, къатехьа лейри лейуэ зыхэдмыщIэжу, езы Къэфкъаз зауэм и ущиеми дыхегъэкIыж. «Щамил етIуанэ» зыфIаща Мухьэммэд-Iэмин нэIибыр я пашэу, илъэс пщыкIузкIэ Шэрджэсейм щекIуэкIа зауэр нобэми нэсу джа зэрымыхъуар езы тхыдэм и пэжми йотхьэкъуэ, еплъыкIэ пхэнжыр зыукъуэдияхэм тыншу акъылэгъу ядэхъу дэри ди зэхэщIыкI утхъуар амалу къэзыщтахэм я джэгупIэу дыкъегъанэ. А гукъеуэхэр тщхьэщызыхыфын лъэбакъуэ щхьэпэщ мин щибгъу бгъущIрэ бгъу гъэм Авар усакIуэ Гаирбекова Машидэт и IэдакъэщIэкIыу Мэхъэчкъалэ къыщыдэкIа «Шэрджэсейм и Iимам Мухьэммэд-Iэмин» роман-поэмэр. Тхыдэр гупсысэкIэ зэзыгъэзэхуэф усакIуэм куэдым гу лъетэ. Усэбзэм къэхъуа псор къимыIуатэми, абы сэтейм темылъ щIэныгъэм гъуэгу хупхешыф, гукъэкIыфI уегъэщI, нэхъыбэ къэпщIэну утрегъэгушхуэ. Езым и лъэпкъэгъу цIыху лъагэр игъэлъапIэн мурадкIэ иубла лэжьыгъэр щигъэзащIэм, Дагъыстэныр къызэхикIухьа нэужь, усакIуэр Адыгейми нэсри Мухьэммэд-Iэмин здэщыIа щIыпIэхэр зригъэлъэгъуащ, цIыхухэм епсэлъылIащ. НэIибым и гъащIэ гъуэгум жану елэжьащ абы и Дагъыстэн Iэхьлыхэм ящыщ, Щамил Iимамым и фондым и унафэщI, тхыдэ щIэныгъэлI Эльдаров Магомед. Мухьэммэд-Iэмин теухуауэ щыIэ дэфтэрхэмрэ къэгъэнаIуэн лэжьыгъэхэмрэ зы тхылъым щызэхуихьэсыжащ Дагъыстэн къэрал университетым и тхыдэ щIэныгъэлI Магомеддадаев Iэмырхъани. Зи гугъу тщIы щIэныгъэлIхэр яхэтащ нэIибыр дунейм щехыжа Армуткёй тырку къуажэм кIуэуэ Мухьэммэд-Iэмин и кхъащхьэмрэ абы пэгъунэгъуу яухуа мэжджытымрэ пщIэ хуэзыщIахэм. Мин щибгъу бгъущIрэ и гъэм, Шэрджэсейм и Iимамыр илъэсищэрэ пщIейрэ щрикъум, Мэхъэчкъалэ щекIуэкIа конференцым хэлэжьыхьри тхыгъэ купщIафIэкIэ утыку къихьагъащ Адыгэ университетым и щIэныгъэлI Аулъэ Мэлэч. БгъэдэхьэкIэрэ Iуэху еплъыкIэкIэ зэхуэмыдэми, Мухьэммэд-Iэмин и шыфэлIыфэр гурыхьу нэгум къыщIэхьэнымкIэ щIэгъэкъуэн мэхъу Къэбэрдейм, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым, Тыркум, Иорданием щыщ щIэныгъэлIхэр, языныкъуэхэр Адыгэу, адрейхэр – езы нэIибым и лъэпкъэгъу Авархэм, е нэгъуэщI лъэпкъхэм къахэкIауэ. А лэжьыгъэхэр ди тегъэщIапIэу тхылъеджэм IэщIэлъ тхылъыр зытеухуа цIыхушхуэм и гъащIэ гъэгум кIэщIу дроплъэж. Шэрджэсейм кIуэн ипэ «Мухьэммэд-Iэмин» цIэмкIэ Къэфкъаз зауэм и тхыдэм къыхэщ лIы махуэр дэфтэрхэм къызэрыхэщымкIэ, мин щий пщIырэ и гъэм, и Iэхьлыхэм зэрыжаIэмкIэ, – мин щибл бгъущI гъэм Гонодэ Авар къуажэм къыщалъхуащ. «Мухьэммэд» зыфIаща щIалэ цIыкIум, и цIэджэгъухэм къыхагъэщу, «Iэсят и къуэ МухьэммэдкIэ» еджэт. Аращ абы и цIэм «Асиялов», е «Асиялав» щIыпатхэм и щхьэусыгъуэр. «Iэмин»-р Щамил Iимамым нэIибым и цIэм пигъэувэ щытхъу псалъэ къудейт «дыкъэзыгъэпэж, дзыхь зыхуэтщI» къригъэкIыу. «Щамил зызгъэтхьэмыщкIэм къыбгъэдэкIыу и къуэ щэныфIэу Мухьэммэд пэжрэ абы и къуэш Абэзэхэхэмрэ, Шапсыгъ, Убых, Натыхъуейхэм пщIэрэ щIыхьрэ зиIэ я тепщэхэмрэ, щIэныгъэлIхэм, унафэщIхэм, пашэхэмрэ я деж», - арат къызэрыщIидзэр Iимамышхуэм и лIыкIуэм хуригъэхь тхыгъэхэр. Ахэр къызыIэрыхьэ Урыс тIасхъэщIэххэм щытхъугъэбзэр цIэм щыщу къафIэщIри, апхуэдэ щIыкIэу «Iэсятыкъуэ Мухьэммэдыр» «Мухьэммэд-Iэмин» хъуащ. Ар къыхэкIащ Дагъыстэн щIыналъэм муслъымэн диныр къэзыхьу къыхэшыпсыхьыжа цIыхухэуэ бегъымбар лъапIэм и щIэблэм щыщхэм. Дагъыстэн хъанхэр къудамэ зырызкIэ лIыкIуэ лъапIэм и адэкъуэшхэу Тхьэр арэзы зыхуэхъун Хьэмзэрэ Аббасрэ я лIакъуэхэм йокIуэлIэж. Мухьэммэд-Iэмин Аббас и къуэпсым къыхэкIащ. Зэрыхъу хабзэу, лъэпкъитIым пщыгъуэр зэпаубыда нэужь, икIуэтахэм щIыпIэр ябгынэри, Мухьэммэд-Iэмин и адэшхуэ Гунаш, Гонодэ Авар къуажэр псэупIэ хуэхъуащ. Илъэс пщыкIублым иту Щамил Iимамым бгъэдэува щIалэм и сабиигъуэм теухуа хъыбархэм нэхъ къыхэщыр ар егъэлеяуэ еджэным дихьэхыу зэрыщытарщ. Езыр къыщалъхуа Гонодэ щыщ Iустаз Даитбэч и деж пэщIэдзэ дин щIэныгъэр щызэригъэгъуэта нэужь, ар СугъралI щыщ Абдурахьман щихъ цIэрыIуэм и гъэсэн мэхъу. Мызэ-мытIэу дэфтэрхэм къыхощ Мухьэммэд-Iэмин хьэфизу (КъурIэныр зэрыщыту гукIэ ищIэу) зэрыщытар. Ар Шэрджэсейм, КъуэхьэпIэ Адыгэ Хэкум, нэIибу ягъэкIуа зэрыхъуа щIыкIэр зэхэгъэкIыпхъэхэм язщ. Езыр-езыру упщIэ къоув: Iуэхур банэныгъэ къудейм тещIыхьамэ, Къэфкъаз псор зыфIэлIыкIыу щыта ди лъэпкъэгъухэм, псом хуэмыдэу къэбэрдейхэм, езыхэм пашэ яхуэхъун къахэмыкIауэ ара?! А упщIэм и жэуапыр Хьэткъуэ Самир и «Хьэжрэт Къэбэрдей» тхыгъэм къыщожьэ: «Шэрджэсейм и КъуэхьэпIэм банэныгъэм щыщIидзэм, Къэбэрдейм ар щиухакIэт. Зэгуэр ефIакIуэрэ щIэращIэу щыта Къэбэрдей жылэшхуэм и бжыгъэр ныбжьитI-щым и кIуэцIкIэ хэкIуэдэжыпэным пэгъунэгъуу хэщIат… А лъэхъэнэм, мин щий тIощIрэ тху - мин щий тIощIрэ бгъу гъэхэм къэбэрдей хьэжрэтхэр здэIэпхъуа Абэзэхэ щIыналъэм къыщыхъур нэгъуэщI Iуэхут – абы шэрихьэт хабзэр щызэтеувэт. Шэрихьэтыр зэтегъэувэныр муслъымэн Адыгэ къэралыгъуэ ухуэнымкIэ япэ лъэбакъуэт. А лъэбакъуэм Адыгэ цIыхубэр щыгугът зэрыпхъуакIуэм пэщIэзыгъэувэн зэкъуэтыныгъэ къыхуздихьыну». Адыгэхэм Iислъам диныр къыщащта лъэхъэнэр шэчыншэу зэхэкIауэ щыткъым. Ауэ муслъымэн щэнхабзэм къыщIэна дамыгъэхэу Къэбэрдейм къыщагъуэтахэм я нэхъ пасэрейр иджыри къэс епщыкIуплIанэ лIэщIыгъуэм хуахьу щытащ. Зи гугъу тщIыр монгол-тэтэр къалэжьу ялъытэ Джулат Ипщэмрэ Ищхъэрэмрэщ. «Хьэрып тхыдэтх Ибн Батутэ зэрыжиIэмкIэ, Биш-Даг (иджы – Псыхуабэ) деж хэщIапIэ щызиIа сулътIаныр Къэфкъаз Ищхъэрэм фIыуэ щацIыху Iузбэч-хъант. А цIэм ущрохьэлIэ Джулат Ипщэ къалэжьым теухуа тхыдэ напэкIуэцIхэми... Iузбэч-хъан псэемыблэжу Дыщэ Уэрым и къэрал дин хъуа муслъымэныгъэм зригъэубгъут. Дэфтэрыжьхэм къыхощ абы и къэралым джаур мащIэ дыдэ фIэкIа зэримысыжымкIэ мысыр сулътIаным хъыбар иригъащIэу[1]…» Нэхъ гъэщIэгъуэныжщ Iузбэч-хъан и цIэр ТIрахъуэ Рамазан и «Шэрджэсхэр» тхылъым къызэрыхэщыр. ЩIэныгъэлIым зэрыжиIэмкIэ, Iузбэч-хъан и ныбжьыр илъэс пщыкIущ ирикъуху адыгэхэм я деж щагъэпкIуу щытащ, адыгэбзэи ищIэт. Тэтэр-монголхэм я щыхьэр Сарай «шэрджэс колониехэр» зыфIаща псэупIэхэр дэтт. Адыгэхэр апхуэдизкIэ хъан сэрейм щызэрахьэ Iуэхухэм хэпщIати, Iузбэч-хъан и къуэрылъху Бердыбэч иужькIэ хъаныгъуэр Шэрджэс-хъан зи цIэ тепщэм лъысауэ щытащ. Джулат и дежщ мин щий щэщIрэ блы гъэм пащтыхь Николай Езанэм и унафэкIэ Талъостэнхэ я щIым Елъхъуэт осетин къуажэр щыщаухуар. «Осетин лъэпкъым и тхыдэм»[2] къыхощ Щамил Iимамыр Тэрч щызэпрыкIыжым щыгъуэ, абы и дзэмрэ Урысхэмрэ Елъхъуэт деж щызэзэуауэ зэрыщытар: «Мин щий плIыщIрэ хы гъэм Щамил Къэбэрдейм щыкIуам щыгъуэ, Елъхъуэт деж абырэ урысыдзэмрэ гуащIэу щызэзэуащ. Зылъэгъуахэм къызэраIуэтэжымкIэ, «топхэм апхуэдизкIэ щIыр ягъэзджызджти, АзэнджапIэм пэмыжыжьэу щIыр гуэури кхъуэщын абрагъуэ пфIэщIыну кумбышхуэ къэунэхуат». КъуэхьэпIэ Къэфкъазым и гугъу пщIымэ, мин щибгъурэ хыщI гъэм Архъыз Ищхъэрэ деж къыщагъуэтыжа къалэжьым и мывэ къутахуэхэм тет Хьэрып тхыгъэхэм щIэныгъэлIхэм я еплъыкIэр гъэщIэгъуэну иригъэхъуэжащ. «Нобэр къыздэсым хьэрыпыбзэм ит тхыдэ фэеплъ Къэфкъаз Ищхъэрэм Дагъыстэн Ипщэм фIэкIа ущрихьэлIэу щытакъым», - дыкъыщоджэ ищхьэкIэ зи пычыгъуэ къэтхьа Къэфкъаз лъахэрыдж Кузнецов Владимир и тхылъым. ЩIэныгъэлIыр гупсысэщIэм хуокIуэ: иджыри къэс Iислъам диныр КъуэкIыпIэ Къэфкъазым Хьэрып дин узэщIакIуэхэм, мыдрей Къэфкъаз Ищхъэрэм и щIыпIэхэм монгол-тэтэрхэм къахьауэ ялъыта щхьэкIэ, къэхутэныгъэщIэхэм къагъэлъагъуэ КъуэхьэпIэ Къэфкъазым ар епщыкIузанэ лIэщIыгъуэм хьэрып сатуущIхэм къызэрахьэсар. ДызыхуэкIуэращи, лIэщIыгъуэм щIигъукIэ муслъымэн щэнхабзэм и тепщэу икIи и хъумакIуэу къекIуэкIа Адыгэ мамлюкхэр Къэфкъазым, псом хуэмыдэу езыхэм я лъэпкъэгъу Адыгэхэм, ялъэIэс зэпыту къекIуэкIами; хабзэкIэ, цIыху хэтыкIэкIэ, гъэсэныгъэкIэ, фащэкIэ бгырыс лъэпкъхэр къэбэрдейхэм ядэплъейуэ щытами, дин щIэныгъэ IуэхукIэ дызытепсэлъыхь лъэхъэнэм плъапIэр Дагъыстэнырт, муслъымэн диныр япэ дыдэ хэгъуэгу хабзэу къыщащта КъуэхьэпIэ Къэфкъазырт. Къэфкъазыр зэкъуоувэ Мин щий щэщIрэ зы гъэм илъэс и пэкIэ Дагъыстэн псом и Iимам хъуа Гъазий Мухьэммэд Адыгэхэм закъыхуигъэзащ зэгъусэу Урыс зэрыпхъуакIуэхэм пэщIэувэным къыхуриджэу. Абы и пэкIэ лъэпкъ къэс зэрыхузыфIэкIыу и щIы кIапэ ихъумэну хэтамэ, Гъазий Мухьэммэд къиIэтар ислъам диным и нып удзыфэрт, абы и хабзэхэмкIэ Къэфкъазыр зэкъуигъэувэу чыристан зэрыпхъуакIуэ политикэм пэщIигъэувэн и мураду. «Къэфкъазым къыщалъхуам и дежкIэ муслъымэныгъэр хэкулI динщ», - жеIэри наIуэ ещI Урыс тетыгъуэм и гупсысэкIэр мин щий тхущIрэ и гъэм «Чыристан диным Къэфкъазым зыщиубгъун папщIэ Барятинский Александр къыхилъхьа жэрдэмым и жэуап» дэфтэрым. «Ар я хуитыныгъэм и дамыгъэщ икIи и ныпщ, бгырысым гъащIэр фIэIэфI зыщI псори къызэщIиубыдэу», - жеIэри къыпещэ. «Диным апхуэдэ политикэ мэхьэнэ зэрыщIалъхьэмкIэ, ди телъхьэхэри къыдэзауэхэри, фIэщхъуныгъэ зиIэхэри зимыIэхэри зэтохуэ. Къэфкъаз щIыналъэ псом бгырыс-муслъымэныр дэнэ къыщымыхутами щыхэгъэрейщ, пщIэрэ дзыхьрэ къыхуащIу; мымуслъымэныр – цIыху мэхьэнэншэщ, хъушэхэмыхьэщ, пщылIщ. Ныкъуэ чыристан ди лъэпкъхэм къахэхьэ мурид хабзэм[3] и джакIуэхэр а лъэпкъхэм я дежкIэ лIы хуэдэлIым и щапхъэщ: хахуэхэрэ я фIэщхъуныгъэри куууэ, абыхэм дакъикъэ къэс я псэр ятыну хьэзырщ. Ауэ а зэмыблэжыныгъэр лей къащытехьэ бэлыхьукъым абыхэм къазэрыфIэщIыр: яхуэмыфащэу джаурхэм къращIылIа лъыгъажэм Тхьэм и щIыхькIэ щыхэкIуадэкIэ къызэкъуахын хуейуэ къалъытэ лIыгъэущ». Гулъытэ зыхуэфащэ Iуэхухэм я нэхъ инщ Щамил и цIэ къыщраIуэкIэ, Iимамым имылъэпкъэгъу хэкулIхэм ар ягу зэрежалIэр, абы хуагъэдэн цIыхушхуэ щхьэж и лъэпкъым къыщилъыхъуэну зэрыхуежьэр. А лъэныкъуэмкIэ захуагъэм тетыну хуейм Мухьэммэд лIыкIуэ лъапIэр Хьэрыпхэм къазэрыхэкIам игъэбэлэрыгъа журтхэр тхыдэ щапхъэу иIэщ. Щамил и къежьапIэ Къэфкъазыр уи хэкуу, абы къикIыр, - Iимамыр Iэхьлыуэ убжыну амалрэ къалэнрэ уиIэу, - апхуэдэ тхыдэ ефыгъулIэныгъэм узэримыгъэщIэращIэм нэмыщI, гупсысэри щыхупIэм хуешэ. Щамил зищIыс дыдэр къыбгурыIуэну пхурокъу Iимамыр дунейм щехыжам дагъыстан щихъ Багин щыщ Шухьэиб «ТIэбэкъат» тхылъым щыжиIар: «Щамил гъэру яубыда нэужь, шэрихьэтым зеиншафэ къытеуат. Дин щIэныгъэлIхэм ар еханэ хъэлиф пэжу ялъытэт. Хъэлиф цIэрыIуэ Гьумэр Абдулгьэзиз укъыфIэкIмэ, шэрихьэтыр къэрал хабзэу щIы хъурейм а зэманым захуагъэкIэ щызезыхьэфыр Щамил Iимамым и закъуэт». Адыгэ банэныгъэм Шэрджэсейм зыщиубгъун ипэ Щамил Iимамым Адыгэхэм епхауэ Iуэху зыбжанэ зэфIигъэкIат. «Езым ипэ Гъэзий Мухьэммэдрэ щихъ Мансуррэ зыпэрыта Iуэхум - къэфкъаз лъэпкъ псори Урысейм пэщIэту зэкъуэгъэувэным - егупсысын щIидзат Щамил а зэманым, - етх ищхьэкIэ зи гугъу тщIа Гаммер Моше. – Граббе зэтракъута нэужь, мин щий плIыщIрэ тIу гъэм Iимамым Ахбердил Мухьэммэд къэбэрдейхэм я деж, Хьэж-Мухьэммэд- шэрджэсхэм я деж егъакIуэ. А тIум я пщэрылъыр тIуащIэт: япэрауэ, Щамил и дзэм зауэлI нэхъыбэ къыхашэн; етIуанэу – а лъэпкъхэм езыхэм я хэкухэм щрагъэкIуэкI банэныгъэм Iимамым и дзэр дэIэпыкъуэгъуу щагъуэтын хуэдэу зызэпащIэн. Бгырысхэм я къарухэр зэуIуамэ, абыхэм Къэфкъаз гъунапкъэр зыIэрагъэхьэу Тифлисрэ Урысеймрэ зэпэIэщIэ ящIыфынут… Мин щий плIыщIрэ щы-плIыщIрэ плIы гъэхэм Щамил Къэфкъазым и Ижьырабгъу гъунапкъэмрэ Ику итымрэ щыпсэу лъэпкъхэм запещIэ. Мин щий плIыщIрэ тху гъэм Iуэхухэр нэхъ щIигъэхуабжьэри, Iимамым шэрджэсхэм я деж Сулеймэн-ефэнды зи пашэ гуп иутIыпщат…» ЩIэныгъэлIым зи гугъу ищI Сулеймэн-ефэндыр Щамил Адыгэ шэрджэсхэм яхигъэхьа етIуанэ лIыкIуэт. Шэрджэсейм ещанэ лIыкIуэр игъэкIуэн ипэ, Iимамым илъэситIкIэ зиIэжьауэ къыхощ хъыбархэм. Языныкъуэхэм хуагъэфащэ ар Сулеймэн-ефэндыр Урысхэм зэрагуэхьам къыхэкIауэ. Мин щий тхущIрэ тIу гъэм мэлыжьыхьым и тIощIым Къэфкъаз комитетым и зэхуэсым и утыку кърахьа дэфтэрым жеIэ: «Сулеймэн-ефэндыр, Щамил и псалъэр нэхъ гуащIэу пхызыгъэкIхэм языр, мин щий плIыщIрэ хы гъэм дэ къыдгуэхьащ. Къэфкъаз тетым и жэрдэмкIэ, уэ зи щIыхьыр ин Императорым уи унафэкIэ Къэрал мылъкум къыхэкIыу илъэс къэс абы сом мин щийрэ тIощIрэ тхуы иратыну хуагъэуващ. Мин щий плIыщIрэ блы гъэм Сулеймэн-ефэндыр хьэж ищIыну, Мухьэммэд лъапIэм и кхъащхьэм пщIэ хуищIыну Мэккэ яутIыпщащ. Тетым хъыбар къызэрыдигъащIэмкIэ, Сулеймэн-ефэндыр абы къикIыжа нэужь, зэманкIэ Псыжь адрыщI щыIащ, и хъэбархэр къытлъэIэсу. Иджы ар яукIауэ жаIэ». Урыс пащтыхьым и франджы егъэджакIуэ, пащтыхь сэрей тхылъ хъумапIэм и унафэщI Жиль Флориан Антуан етхыж: «Мин щий плIыщIрэ зы гъэм щегъэжьауэ ШэшэныщIым къыпхыкIрэ КъэрэшеймкIэ къыкIуэцIрыкIыу Адыгэ шэрджэсхэм я деж къэкIуа Щамил и лIыкIуэхэм шэрихьэтым зрагъэубгъуащ. Ар иджыри псоми къызэдащтатэкъым, пщыхэмрэ уэркъхэмрэ езыхэм я фейдэ зыхэлъ пасэрей хабзэжьхэр ямутIыпщу яIыгът; ауэ Абэзэхэхэр, Шапсыгъхэр, Нэгъуейхэр шэрихьэтым, лъэпощхьэпо къыхэмыкIыу, техьахэт. Мин щий плIыщIрэ тIу гъэм щегъэжьауэ мин щий плIыщIрэ плIы гъэ пщIондэ егъэлеяуэ жыджэру Iуэхум елэжьащ Щамил и лIыкIуэ Хьэж-Мухьэммэд. ИужькIэ мин щий плIыщIрэ тхуы гъэм, а къалэныр Щамил и адрей лIыкIуэ Сулеймэн-ефэнды и пщэ далъхьащ. Мин щий плыщIрэ бгъуы гъэм щегъэжьауэ Мухьэммэд-Iэмин, - ара къыщIэкIынт Щамил къигъэкIуахэм Iуэхум нэхъ хузэпэщу яхэтари, - адэкIэ пищащ». ИпэжыпIэкIэ, Iимамым зыщIиIэжьэм и щхьэусыгъуэр зыхуэхьыпхъэр ар нэмыгъэсауэ къэна Iуэхум иджы нэхъ куууэ зэрыбгъэдэхьэрт. ЗэманкIэ узэхуеплъмэ, Мухьэммэд-Iэмин Шэрджэсейм кIуэным ипэ йохуэ Щамил и Къэбэрдей зекIуэр. Щамил Къэбэрдейм къызэрыкIуар Щэмелу дыщэ, Дыщэр зи шхуэмылакIэ, Данагъуэр зи пащIэкIитI, Данэху хьэжыкIэр Нобэм мэбыб, Бэрэбанауэр нобэм, Уей, гущэ, хагъащIэ, Фызауэркъэ, зи уз кIуэдынхэ! Урыс гущэм, Дубэр, Уей, маржэ, негъэбзэрабзэ, Нэтэджмэ, джатэ гъэбзейт. Цей джэгушхуэр зэрыкIэщакъуэ, ЛIы и къуэр нобэ мэзауэ! Адыгэ IуэрыIуатэ «ИгъащIэм Къэфкъазым Щамил хуэдэ бий шынагъуэ щыдиIакъым, - етх мин щий плIыщIрэ зы гъэм, бадзэуэгъуэм итIым Къэфкъазым щыIэ дзэ щхьэхуэм и нэхъыщхьэ Урыс генерал Головин Евгений. – Iуэхур езыр-езыру апхуэдэу ехъулIэри, Iислъамыр къыщыунэхум Мухьэммэд лIыкIуэ лъапIэм щIы хъурейм и Iэхьэ плIанищыр зэригъэзджызджа къарур уи нэгу къыщIигъэхьэжу, зауэмрэ динымрэ щызэхэхьэж купщIэ игъуэтащ абы и тепщэгъуэм». Щамил Iимамыр Къэбэрдейм къызэрыкIуам Урыс дзэзешэхэри тхыдэтххэри убгъуауэ тепсэлъыхьыжащ. Абы зекIуэр къемыхъулIауэ, къэбэрдейхэр, дагъыстэнхэмрэ Шэшэнхэмрэ елъытауэ, диным нэхъ зэрыхуэгущIыIэм къыхэкIыу, и къыхуеджэныгъэр жэуапыншэу къэна хуэдэу щыжаIэ тхыгъэхэр емызэшу къратхыкIыж пэтми, шэч къамыгъанэу щыткъым. Гу зылъытапхъэхэм язщ Iимамыр Къэбэрдейм къыщысамрэ Шэшэным щынэсыжамрэ я зэхуакум (мэлыжьыхьым и пщыкIуплI - накъыгъэм ибгъу) махуэ тIощIрэ тхурэ зэрыдэлъым, абы щыщу тхьэмахуитI мынэхъ мащIэ Къэбэрдейм щигъэкIуауэ зэрыщытым. Щамил и дзэр къыдэщIыгъуу Къэбэрдейм зэгуэр зэритам и мэхьэнэр нобэ апхуэдэу гумащIэу щызэхэтщIэкIэ, гурыIуэгъуэщ ар зи нэгу щIэкIахэри Iимамым гущIыIэу къызэрыхуэмынар. Щежьэжым абы гъусэ хуэхъуащ къэбэрдей уэркърэ пщыуэ нэрыбгэ щэщIрэ ирэ. Дэтхэнэ зыми къуажэ псо здимышами, нэгум къыщIэгъэхьэн хуейр щхьэж къедза цIыху бжыгъэ мымащIэ зэригъусарщ. Iимамым и нэкIэ илъэгъуащ Къэбэрдейр мы зы гъуэгукIэ зауэ губгъуэ зэрымыхъунур – аращ и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр абы и хущIегъуэжыныгъэм, армыхъумэ Адыгэхэм и гугъэр яхихыжауэ аратэкъым. А зэманым Iислъам диныр иджыри къарууфIэ щымыхъуа КъуэхьэпIэ Къэфкъазыр лIыкIуэ нэхъ лъэрызехьэ хуэныкъуэт, зэрыбгылъэм къыхэкIыу бийм ущыпэщIэувэнми нэхъ хузэпэщт. Ауэ Мухьэммэд-Iэмин хуэдэ нэIиб къызэрымыкIуэ Адыгэхэм къазэрылъысар зи фIыгъэр Щамил и Къэбэрдей зекIуэрауэ жыпIэ хъунущ. Инджылыз тхыдэтх Баделли Джон зэриIуэтэжымкIэ, къэбэрдейхэмрэ Щамилрэ зэгурыIуат, ахэр Iимамым гуэхьэмэ, Тэрчрэ абы хэлъадэ псыежэххэмрэ тращIыхьа Урыс плъырыпIэхэр псори зэтрикъутэну. А зекIуэр Щамил икъукIэ IэкIуэлъакIуэу икIи щхьэмыгъазэу иригъэкIуэкIа Iуэхут, - етхыж Баделли, къехъулIэнуи амал иIэт. Ар и мурадым лъэIэсамэ, Куржы гъуэгур игъэбыдэнурэ Тифлис къикIыу зы сэлэт блэкIыфынутэкъым Къэбэрдейм щыIэ урысыдзэр къригъэлыну. Iимамыр УрыхупскIэ дэкIуейри, и лIыкIуэхэр Къэбэрдеймрэ абы и Iэгъуэблагъэмрэ щызэбгригъэкIащ урысхэм езэуэным къыхуриджэу. Ар ялъэIэсащ Балъкъэрхэми, Псыжь адрыщI щыпсэу лъэпкъхэми, езыр къызэрыкIуамкIэ хъыбар яригъащIэу ягу хигъэхъуэн папщIэ. Нэхъри нэхъ убгъуауэ Iуэхум топсэлъыхь ищхьэкIэ зи псалъэ къыхэдгъэща Гаммер Моше: «Къэбэрдеипщ пэрытхэм языныкъуэхэр, чыристан адыгэхэри яхэту, Щамил елъэIуащ я щIыналъэм ихьэну. Iимамыр абыхэм ечэнджэщри, гъатхэм, Етхуанэ корпусыр Къэфкъазым щрашыжкIэ е ирашыжа нэужь, ежьэну триухуащ… И мурадыр нэхъ дзыхь зыхуищI нэIибхэм фIэкIа яримыгъащIэу, мэлыжьыхьым и тIощIрэ тхум Щамил Шали къыдэкIащ. Урысхэм зэрыжаIэмкIэ, абы бгырыс мин пщыкIуплI и гъусэт, лъэсыдзэу мин фIэкIа яхэмыту, топий яIыгъыу. Адрей Щамил и лъэсыдзэ минийм нэблагъэм Нур Алий и унафэм щIэту нэгъуэщI гъуэгукIэ иунэтIат. А махуэ дыдэм и пщыхьэщхьэм Iимамым и дзэр Iэргун зэпрыкIащ, жыжьэрыуэ топхэм я лъэужьыр щIэзыхъумэж шуудзэр я ужьым иту. Мэлыжьыхьым и тIощIрэ хым ар Фортангэ псым икIщ, Казак-Кичу лъэныкъуэкIэ кIуэнэпцI зищIри, мэлыжьыхьым и тIощIрэ блым СунженскIэ къэзакъ станицэм деж къыщыувыIащ. Мэлыжьыхьым и тIощIрэ им Курпыпс зэпрыкIа Щамил «Къэбэрдей ЦIыкIум и гум» ихьащ. Жэщыр Алъхъо[4] къуажэм щигъэкIуащ. КIэлъыкIуэ махуэм нэIибищ – Саид Абдуллах, Дубэ, Атабай сымэ цIыхухэр къуажэхэм къыдашу бгым ягъэIэпхъуэну иутIыпщащ. Езы Щамил АзэнджапIэм деж Тэрч щызэпрыкIри фIыуэ узэда и дзэр иригъэувыкIащ. Абдежым ар хуиту Къэбэрдей Тафэ[5] псом щыкIэлъыплъыфынут, Къэбэрдейми, Осетие гъунэгъуми и унафэ лъигъэIэсу, апщIондэху Къэфкъаз Ищхъэрэмрэ Куржымрэ я зэхуаку щекIуэкIми щыгъуазэу. Iимамым и лIыкIуэхэм къэбэрдейхэмрэ шэрджэсхэмрэ зыкъаIэтыну къыхураджащ, ауэ, иужькIэ езым зэрыжиIэжамкIэ, «угуващ» жаIэри къыжраIащ. Урысхэр Щамил и мурадхэм щымыгъуазэххэу зэрыщымытрат абы и щхьэусыгъуэр… Щамил и зекIуэр нэгъэсыпауэ зэгъэпэщат, IэкIуэлъакIуащэуи иригъэкIуэкIат. Фрейтаг нэмыщIамэ, абы Урысхэм мыхьыр яригъэхьыфынут. Адрей и зекIуэхэм хуэдэ дыдэу, Iимамым иджыри апхуэдизкIэ хъыбар нэпцI гъэIунымрэ кIуэнэпцI зыщIынымрэ Iэзэу къигъэсэбэпати, Къэбэрдейм ихьэпа нэужьи, Урыс дзэзешэхэм ар зэрагъэбэлэрыгъ амалу ялъытэт. КъинэмыщIауэ, Къэбэрдей зекIуэм Щамил аргуэру и дзэзешэ Iэзагъыр зэщIэлыдэу наIуэ къищIащ… И зекIуэлI жанхэм Iимамым ткIийуэ яжриIат къуажэдэсхэр яхъунщIэнкIэ Iэмал зэримыIэр, зыкIи хамыгъэзыхьынуи унафэ яхуищIат: «Сэ зыри хэзгъэзыхькъым, Алыхьым иухар ядэтлъагъунщ». Дауи, и мурадым зэрылъэмыIэсари къытехьэлъат. И гъусэхэм апхуэдэу ялъытэтэкъым, абыхэм щхьэусыгъуэу ябжыр къэбэрдейхэр Iуэхум зэрытемыгушхуэфарат… Щамил жиIэт иджыри къызэрытригъэзэнур, къэбэрдейхэри Iимамым мин щий плIыщIрэ хы гъэм и гъэмахуэм е и бжьыхьэм къыпэплъэт». Мис Къэбэрдей зекIуэм и хъыбарыр езы Iимамым и тхакIуэ, щихъ Мухьэммэд ТIахьир Аль-Къэрахий «Дыгъыстэн сэшхуэхэр Щамил зыхэта лъыгъажэ зыбжанэм зэрыщылыдар» тхыгъэм къызэрыщиIуэтэжыр: «Адыгэхэм мыувыIэу Щамил зым и ужьым зыр иту тхыгъэхэр къыхурагъэхьт, зэгъусэу бийхэмрэ ныкъуэкъуэгъухэмрэ япэщIэувэну, я деж кIуэуэ я зауэлI сатырхэр къарууфIэ ищIыну лъаIуэхэу. Iимамым хъыбару къыхуахьт ахэр хабзэ зыхэлъ, унафэм едаIуэ лъэпкъ зэкIэлъыкIуэу зэрыщытыр. Арати, мин щитI хыщIрэ тIу (мин щий плIыщIрэ хы) гъэм абы топышхуибл, абыхэм яхуэфэщэн топышэ, шыхэр, зауэлIхэр зэригъэпэщри ежьащ, бийр зыпэмылъэщын, щышынэу зыпемыжьэфын, къыIуплъэми, щыщтэу зэмыбгъэрыкIуэфын лъэсыдзэрэ шуудзэрэ дэщIыгъуу. Тэрч зэпрыкIмэ, Iимамым, абдежым къыщыувыIэу, щытхъушхуэ зиIэ адыгэхэм я щэныфIагъыр игъэунэхуну и мурадт. АрщхьэкIэ я щIыр зэрыджафэр, зыщагъэпщкIуфын мэзи къуакIэ-бгыкIи, езыхэр здэбгъэIэпхъуэн къуэладжи зэрамыIэр илъагъури, зэрыкIуам хущIегъуэжащ. И къэувыIэпIэр Къэбэрдей Тафэрат. Адыгэ лIыкIуэхэр зым и ужьым адрейр иту гуп-гупхэурэ къакIуэхэт. Я унагъуэхэри мэзхэм ягъэIэпхъуат. Iимамым езы лъэпкъым къыхишри нэIибхэр ящхьэщигъэувэжащ». Илъэс зыбжанэ ипэ дагъыстэн щIэныгъэлI Гамзаев Магомед и Iэдакъэ къыщIэкIа «Iимам Щамил» тхылъым Iэхьэ псо щеубыд Къэбэрдей зекIуэм теухуа хъыбарым. АварыбзэкIэ дунейм къытехьа тхыгъэр гурыщхъуэншэу щытын хуейщ тхакIуэм и Iуэху еплъыкIэр лъэныкъуэ гуэрым фIэлIыкIыу итхауэ зэрыщымытымкIэ. Гамзаевми гулъытэншэу къигъанэкъым къэбэрдейхэм я къэзэуат хэхьэкIэр Щамил зыщыгугъам зэрынэмысар, ауэ щхьэусыгъуэу къигъэувыр лIыгъэншагъэкъым икIи Iиманыншагъэкъым, атIэ а зэманым урысыдзэм и къаруушхуэ Къэбэрдей хэкум зыщиубгъупауэ зэритарщ. Пычыгъуэ щхьэхуэу къыдохь ар къызыхэщ «Iимам Щамил» тхылъым щыщ Iэхьэр. Щамил Къэбэрдейм зэрыкIуар Къэфкъаз Ищхъэрэм и КъуэхьэпIэм Псыжь щегъэжьауэ хы ФIыцIэм нэс шэрджэс лъэпкъхэр пащтыхь зэрыпхъуакIуэхэм езауэу щапэщIэтт. Ауэ Къэбэрдейр пащтыхьым и IуэхутхьэбзащIэхэм яхуэжыIэщIэ щIыналъэ мамыру къанэт. Къэбэрдейхэр къэзэуатым хишэфамэ, Щамил Къэфкъаз Ищхъэрэм и лъэпкъ псори зэкъуигъэувэфынут. Абы куэд щIауэ щIэхъуэпст Iимамыр. Абы зэкъым, тIэукъым къэзэуатым къыхуриджэу къэбэрдейхэм лIыкIуэ зэрахуигъэкIуар, ауэ Iуэхур къехъулIэтэкъым. Щамил пащтыхьыдзэм ебгъэрыкIуэу зыбжанэрэ зэратекIуар щызэхахым, къэбэрдей пашэхэм я лIыкIуэхэр Ведено къагъэкIуащ Iимамыр я деж кIуэуэ шэрихьэт хабзэр щызэтригъэувэну къелъэIухэу. Хасэм ечэнджэщри, Щамил мурад ищIащ Къэбэрдейм зекIуэ ежьэну. И мурадыр бийм къримыгъэщIэн папщIэ, мин щий плIыщIрэ хы гъэм Iимамыр Дагъыстэным кIуэжри Дарги лъэпкъхэм яхэхьэну зигъэхьэзыр хуэдэу хъыбар игъэIуащ . Iимамым и гугъэ дыдэр къыхуэмыщIэу, Воронцов джыназым Темырхъан-Шурэрэ Гъэзийкъумыхъурэ пэгъунэгъу быдапIэхэр зэщIаузэдэну унафэ ищIат. Iимамым Шэшэн нэIибхэу Батэрэ Талхьикърэ тхыгъэ яхуригъэхьат щызэгурыIуа махуэм дзэр я гъусэу Шали къекIуэлIэну унафэ яхуищIу, ауэ здэкIуэну зыздигъэхьэзырыр тхыгъэм наIуэ щищIатэкъым. Ар зригъэхьа лIыкIуэр бийм и тIасхъэщIэхыу къыщIэкIри, тхыгъэр Фрейтаг генералым Iэрыхьащ. Генералым письмор трыригъэтхыкIщ, зэтригъэпщIэжри нэIибхэм хуахьыну яритыжащ, арщхьэкIэ, тхыгъэм къеджами, Щамил и мурадыр къыгурыIуакъым. Ауэ Тэрч Iуфэ Iут быдапIэхэмрэ дзэхэмрэ дэIэпыкъуэгъу яхуигъакIуэри, нэхъ зыщыгугъ къарухэм хьэзыру щытыну унафэ яхуищIащ. А зэманым ирихьэлIэу пащтыхьым и унафэкIэ Етхуанэ урыс Iэрмэм щыщ гуп щхьэхуэхэр Урысейм кIуэжын хуейт, абы теухуауи Фрейтаг Къэфкъазтету лажьэ Воронцовым и унафэ къыIэрыхьакIэт. ИтIани, Щамил зэрымыщIэкIэ къатеуэнкIэ шынэ генералым а дзэхэр имутIыпщыжу Тэрч и ищхъэрэкIэ щиIыгът, Мэздэгурэ Владикавказрэ я зэхуакум. Мэлыжьыхьым и пщыкIуплIым мурид лъэсыдзэу минихрэ шуудзэу миниплIрэ и гъусэу, топибли ядэщIыгъуу, Щамил Шали къыдэкIащ. Iимамым дзэр IэхьитIу иугуэшат. Зым и унафэщIыр Даниял-СулътIант, адрейм – Нур Алит. Шуудзэм и унафэщIу Хьэжы-Мурат игъэуват. Щхьэж и зауэлIхэм я пашэу, дзэм ипэ итхэт Андий щыщ Лабазан, Гимры щыщ Ибрахим, Телетль щыщ Муртазаали, Аух щыщ Гойтемир сымэ. Дзэм и кум муртазэч щитIым къаухъуреихьу езы Iимамыр кърикIуэт[6]. Я щIыбагъым шэшэн нэIибхэу Атабай, Саадулэ, Дубэ, Батэ сымэ къыдэтт. Дзэм и кIэм топхэм я лъэужьыр ягъэкIуэдыжу шухэр итт. Нур Али и пщэ далъхьат Дарьял къуэладжэм дэкIыу Тифлис кIуэ Куржы гъуэгур игъэбыдэну: Тифлис къикIыу Къэбэрдейм къакIуэ бийидзэм кIуапIэ къримытыныр и къалэнт абы. ЕтIуанэ махуэм, Iимамым и дзэр Сунжэ зэпрыкIыу Къэбэрдей и къуажэ пэрытхэм гъуэнэгъу яхуэхъуа нэужь, абы ТенгинскIэ полкым щыщ Iэхьэ щхьэхуэхэр пежьащ. Муридхэм ахэр кIуэрыкIуэм тету зэтракъутащ. Здынэсыпхъэм нэса нэужь, Хьэжы-Мурат и шуудзэм МэздэгукIэ иунэтI хуэдэу зищIащ, езы Iимамым и къару нэхъыщхьэхэр и гъусэу Къэбэрдеишхуэм ихьащ. Къэбэрдей лъэпкъыр гуапэу къыпежьат Iимамым, абыхэм ящыщ пашэ гуэрхэри къыгуэхьащ. Щамил и муридхэм унафэ яхуищIат къэбэрдейхэм зыри къытрамыхыну, цIыхухэри гугъу ирамыгъэхьыну. Iимамым и лIыкIуэхэр адыгэ къуажэхэми балъкъэр къуажэхэми иутIыпщат къуажэдэсхэр къэзэуатым къыхуриджэу. АрщхьэкIэ пащтыхь унафэщIхэм лей кърахыным щыщтэхэри ахэр Iэщэ яIыгъыу къыдэкIын шынахэщ. Къэзэуатым къыхэхьэну къэзыгъэгугъа шэрджэсхэри къэкIуакъым. Iимамым къэбэрдей лъэпкъым нэIибхэр ящхьэщигъэуват, ауэ абыхэми яхузэфIэкIакъым цIыхухэм зыкърагъэIэтын, уеблэмэ и дзэр ерыскъыкIэ зэрагъэпэщыфакъым. Щамил фIыуэ егупсысат Къэбэрдейм къыщызэкъуихыну зауэм. А зэманым ирихьэлIэу, Нур Али Тифлис къыщежьауэ Дарьял къуэладжэмкIэ къикI пащтыхьыдзым и гъуэгур игъэбыдэн хунэсауэ щытын хуейт. АрщхьэкIэ биидзэр Тифлис къикIыу Владикавказ къызэрысар щызэхихым, Iимамым къыгурыIуащ Нур Али ар къызэремыхъулIар. ИтIани, пащтыхь генералхэм Щамил Къэбэрдейм къызэрыкIуар щызэхахым къэгузэвахэт. ЯпэщIыкIэ я фIэщ хъуакъым. Къэфкъазым щыIэ пащтыхьыдзэм и тепщэ Голицыным ищIэнур имыщIэу Налшык кIуэри зыщигъэпщкIуат. Псыхуабэ къалэр ихъуреягъкIэ кърагъэбыдэкIри Мэшыкъуэ жыжьэрыуэ топхэр трагъэуват. Къэфкъазтетым майор Лабынцевым унафэ хуищIат и дзэр и гъусэу къакIуэу Куржымрэ Владикавказрэ зэпызыщIэ гъуэгур ихъумэну. Мэлыжьыхьым и тIощIрэ тхум Къэбэрдейм Воронцовым къиутIыпща дзэхэр къэсакIэт. Iимамым къэбэрдейхэм закъызэримыгъэIэтыфынур къыщыгурыIуэм, Шэшэным игъэзэжыну мурад ищIащ, ауэ ежьэжын ипэ Бахъсэн къуэладжэм кIуэ хуэдэу хъыбар игъэIуати, ар зи фIэщ хъуа Фрейтаг и дзэр а лъэныкъуэмкIэ иригъэпIэщIэкIащ. ЕтIуанэ махуэм, мэлыжьыхьым и тIощIрэ хым, Щамил и дзэр Тэрч Iуфэ щынэсым, абдеж щыт Iуащхьэхэм я нэхъ лъагэм, мэзым зыщигъэпщкIуауэ, минищ хъу Меллер-Закомельскэм и дзэр къащыпэплъэт. Щамил иутIыпща гупым, урыс сэлэтхэр къазэрыпежьам щхьэкIэ къамыгъанэу, псы Iуфэм деж нэхъ зыщыубгъугъуафIэу иIэ щIыпIэр зыIэрагъэхьащ. Полковникым бгырысхэм ар къаIэщIигъэкIыжыну хуежьа щхьэкIэ, къехъулIакъым. Пащтыхьыдзэр бгырысыдзэм ебгъэрыкIуэн щIидзат, Тэрч зыпрамыгъэкIыжыну хэту. НэIиб гуэрхэр гужьейри Iэнкуну зэхэзежэ хъуахэт. Арати, Хьэжы-Мурат Iимамым арэзы зыкъригъэщIщ, Меллер-Закомельскэм и дзэм теуэри, урысхэр псы Iуфэм пэжыжьэфIу Iуихуащ. Полковникым лIыгъэ хурикъуакъым Тэрч зэпрыкIыжу ШэшэнымкIэ зыунэтIа Iимамым и дзэм кIэлъыщIэпхъуэн. Зы жэщ зы махуэм километрищэрэ ныкъуэрэ къызэзынэкIа Щамил и дзэр Шэшэным нэсыжащ къэбэрдей лъэпкъым щыщхэри я гъусэу. Абыхэм яхэтт иужькIэ Iимамым нэIибу игъэува къэбэрдеипщ Анзор Мухьэммэд. Тхыдэ щIэныгъэлIхэм зэратхыжымкIэ, Щамил Къэбэрдейм зэрыкIуар урыс императорым щыжраIэжым, абы къэуIэбжьауэ жиIэгъат: «Щамил апхуэдэу къэбгъанэмэ, зы махуэ гуэрым ар Бытырбыху и Сенат утым къыщыхутэнкIи хъунущ». Урыс дэфтэрхэм зэраIуатэмкIэ, Щамил Къэбэрдейм къызэрыкIуамкIэ Урысхэм бзэгу яхуэзыхьам и цIэр Кхъуэхъужь Мусащ. НэгъуэщI зы тIасхъэщIэхым (и цIэр къыхэщкъым) и урыс унафэщIхэм хъыбар ярегъащIэ Щамил и телъхьэхэм яубыдынкIэ зэрышынагъуэм къыхэкIыу, ар жэщу фIэкIа земыкIуэфауэ, щэхуу яхуихь и тхылъымпIэри фочым иригъэпщкIухьауэ. ЗыблэкIа къуажэ псори нэщIт, къуажэдэсхэр я унагъуэхэр я гъусэу пщыхьэщхьэм къэса Щамил и деж бгым ихьахэт. Iимамым ебгъэрыкIуэнымкIэ жанагъ зэрыхуримыкъуам къыхэкIыу IэнатIэкIэ кърагъэIэбыха урыс офицер Беклемишев Николай мин щий плIыщIрэ и гъэм етхыж: «Къэбэрдейхэм апхуэдизкIэ щэхуу икIи Iэзэу яхуэбзыщIат Щамил къызэрыкIуэри, ар къызэрысу псоми зыкъызэраIэтынури, уеблэмэ езы Голицын джыназым екIуэкIым зыри хищIыкIтэкъым. А Iуэхум фIыуэ хэлэжьыхьащ къэбэрдей Адыгэ щIалэ - Анзорхэ я къуэ Мухьэммэд-мырзэ. Абы и къуэш Хьэту зи щIыхьыр ин пащтыхьым и шуудзэм дзэзешэу хэтащ, езы Мухьэммэд-мырзи офицерт. Урысейм я гур зэрахуэкъабзэр пащтыхьым и фIэщ ящIыну илъэс блэкIам Бытырбыху кIуа Адыгэ лIыкIуэхэм язт ар. Анзорхэ я къуэм езы пащтыхьым и IэкIэ къыIэщIилъхьат къэбэрдей лъэпкъым и ныпыр. А зэманым Мухьэммэд-мырзэ Налшык дэс Къэфкъаз гъунапкъэтетым деж къулыкъу щищIэт. ХьэщIэхуэфI Голицын джыназым и унагъуэ гуапэ дыдэм Анзорыр фIыуэ къыщалъагъут икIи щыхэгъэрейт. БжьыфIэу, губзыгъэу, IэкIуэлъакIуэу щыт а щIалэр зэ Iуплъэгъуэм уигу дэхьэти, уи дзыхьри ихьэхут. Къэбэрдейм и нэхъыщхьэм бгъэдэту зэрылажьэм абы амал къритт пащтыхьыгъуэм щызекIуэ унафэхэми, дзэр здэкIуэ-къыздикIыжми щыгъуазэу щытыну. И пщэрылъым и фIыгъэкIэ, Щамил и къыхуеджэныгъэр здынэсари, цIыхухэр абы зэрыхущытри ищIэт. Iуэхур къыщыхъуа пщыхьэщхьэ дыдэм, мин щий плIыщIрэ хы гъэм мэлыжьыхьым и пщIырэ им, Анзорхэ я къуэр мамыру Голицын джыназым куэзыр дэджэгуу щыст, зыгуэр къыIухьэу къыщеджам. Къыдэджэгухэр къигъанэри, щIалэр къыщIэкIащ, афIэкIаи къигъэзэжакъым. ИужькIэ къызэрыщIэкIамкIэ, дакъикъэ зыбжанэ дэкIыу Голицыным зи хъыбар кърагъэщIа, Налшык пэмыжыжьэу щыс Адыгэ къуажэм[7] къыщыувыIауэ лъэпкъым иригъэблагъа Щамил и деж занщIэу шэсри кIуат ар». Тхылъеджэм фIэгъэщIэгъуэныну къытщохъу зекIуэм и хъыбарыр Хьэжы-Алий цIэмкIэ тхыдэм къыхэна нэгъуэщI зы тхакIуэм «Щамил и нэкIэ зылъэгъуам и гукъэкIыжхэр» тхылъым зэрыщиIуэтэжри. Щамил адыгэхэм я деж Къэбэрдейм зэрыкIуар Кутишрэ[8] Дарго-Веденорэ[9] къызэрикIыжрэ мазитI дэкIа нэужь, Къэбэрдейм къикIри Щамил и деж цIыхуипщI къэкIуащ, и дзэр дэщIыгъуу абы кIуэну къелъэIухэу. Махуэкуу (Щамил дзэр и гъусэу щежьэ хабзэр гъубжырт е махуэкурт) мин щитI хыщIрэ тIу (мин щий плIыщIрэ хы) гъэм, зуль-хиджджэ мазэм и пщIырэ плIым Щамил шуудзэу миниплI, лъэсыдзэу минитху, топибл дэщIыгъуу, Тэрч зэпрыкIри дзэр Къэбэрдей къуажэхэм диугуэшащ. Гъуэмылэр зыIэщIэуха дзэм махуищкIэ ерыскъыхэкIыу хугу фIэкIа яIэрыхьакъым. Урысхэр быдапIэ псомкIи къыдэкIыу дыкъаухъуреихьын щыщIадзэм, Щамил жэщым щэхуу дзэр иIэтри ежьэжащ, пщэдджыжьым Тэрч Iуфэ нэблагъэу. Асыхьэтым зэпрыкIыпIэр урысхэм зэраубыдар зэралъагъуу, нэIибхэмрэ зауэлIхэмрэ шынэри зэбгрыжын щIадзащ. Щамил муридхэм фIэкIа зыри къыбгъэдэнатэкъым. Абдежым Хьэжы-Мурат Iимамым бгъэдэхьэри: «Сыт мо нэIибхэм къагъэхъур?» - жиIэри еупщIащ. «ЖысIэм къемыдаIуэу я щIыб къысхуагъэзащ»,- къритащ абы жэуап. «Еплъыт-тIэ си дзэм ищIэм»,- жиIэщ Хьэжы-Мурати, шуудзэм я пашэу урысхэм ебгъэрыкIуащ, ахэр щIэпхъуэжри, зэпрыкIыпIэр хуит хъужащ, Щамили Тэрч икIыжащ. Хьэжы-Мурат нэмыщIамэ, дзэм и ныкъуэр хэкIуэдэнут! А зекIуэм Iимамым и дзэм щыщу цIыхуищэрэ цIыхуитхурэ хигъэщIащ». Iимамыр кIуэжа нэужь, Къэбэрдейм щыIэ Урыс къулыкъущIэхэм я унафэр щIагъэткIиящ. Абы и гъусэу емыжьа къэбэрдейхэр «Щамил и телъхьэрэ» «урысхэм я телъхьэу» зэхадзын щIадзэри, япэрейхэм «абрэдж» фIащауэ, къакIэлъыплъхэт. Мин щий плIыщIрэ хы гъэм ПIалъэкIэ ягъэува Къэбэрдей Судым унафэ къищтат Щамил и дзэм дэзыIыгъахэм а Iуэхур япэу яIэщIэщIамэ, дыжьын сомищэрэ щэ ныкъуэрэ къуэдыуэ ятыну, «къызэщIэгъэстакIуэм» и телъхьэхэр тIэу зыдалъэгъуар суд пащхьэм иувэн хуейт. «Псо дыдэри жысIэкъым, Тхьэм апхуэдэ гупсысэ Iейм сыщихъумэ, ауэ къэбэрдейхэм ящыщ куэдым щIэхъумауэ Iуэху гуэрхэр зэрахьэу, езыхэми гурыщхъуэ нэхъ уагъэщIу зэрыхъуам урыс тетыгъуэр икъукIэ егъэгузавэ», - и нэхъыщхьэхэм жэуап ярет Къэфкъаз гъунапкъэм и унафэщI Хлюпин Семён. ХьэрыпыбзэкIэ ятха тхыдэ дэфтэрхэр зыдж Шарафутдинова Руфия мин щибгъу блыщI гъэм къыдигъэкIащ «Щамил хьэрыпыбзэкIэ итха письмохэр Дорн Борис зэхуихьэсыжауэ». Абы щыщ напэкIуэцI куэд щыхьэт тохъуэ Къэбэрдей зекIуэм и ужькIэ Щамилрэ Адыгэхэмрэ нэхъ быдэу зэпыщIа зэрыхъуам: *** «Алыхьу гущIэгъубэ гущэгъущIырейм и цIэкIэ. Муслъымэнхэм я пашэ Щамил къыбгъэдэкIыу и къуэш Дубэ деж – игъащIэкIи сэлам! АдэкIэ, А адыгэ-мухьэжырхэм ящыгуфIыкI, гуапэу яхущыт, Iэмал зэриIэкIэ сыт хуэдэ IуэхукIи ядэIэпыкъу». *** «Муслъымэнхэм я пашэ Щамил къыбгъэдэкIыу фIыуэ илъагъу и къуэшхэу Калай, Аршты[10] щыпсэухэм я деж – сэлам фызох, Алыхьым и нэфIыр къыфщыхуэ! АдэкIэ, Дэ унафэщIу ныфхуэдгъэкIуащ щIэныгъэ зиIэ фи къуэш, адыгэ щIалэ Мухьэммэд-мырзэ… Абы жиIэм федаIуэ, жыIэщIи фыхуэхъу. Абы едаIуэр сэ къызэдаIуэу аращ, абы емыдаIуэр сэ къызэмыдаIуэу аращ». Гехи Шэшэн щIыналъэм нэIибу ягъэкIуа Мухьэммэд-мырзэ нэIиб нэхъыщхьэу къыщхьэщытт Мухьэммэд-Iэмин: «Мудир (Iуэху зегъакIуэ) Мухьэммэд-Iэмин къыбгъэдэкIыу псоми фIыуэ яхилъагъукIа Мухьэммэд-мырзэ деж», - жиIэу къыщIедзэ абы и письмохэм язым. Тхыгъэхэм мызэ-мытIэу къыхощ «мин щий плIыщIрэ хы гъэм и дыгъэгъазэм щегъэжьауэ Гехи щIыналъэм щыпсэу адыгэ мухьэжырхэм я къадыуэ лэжьа» щIэныгъэлI Ибрахьим-хьэжы Шэркэсий (Шэрджэсщыщ). А цIэ дыдэм ущрохьэлIэ мин щий тхущIрэ бгъуы гъэм урысыдзэм Гъуниб Iуащхьэр къыщиувыхьам «икIэм нэс Щамил бгъурытахэм» я сатырым. «Мин щий тхущIрэ бгъуы гъэм шыщхьэуIум и тIощIрытхум Щамил и гъусэу Гъуниб зыщитащ», - итщ абы теухуауэ Урыс дэфтэрхэм. Ауэ муслъымэн щIэныгъэлIхэм Ибрахьим-хьэжы а махуэм хэкIуэдауэ жаIэ. Ардыдэхэм я тхыгъэхэм къыхощ «Щамил зитащ» псалъэухар урыс генералхэм загъэщIэгъуэу жаIэрейми, пэжым зэрыпэжыжьэр. Адыгэм и Iуэхуу сыт мыбы хэлъар жыпIэмэ, Гъуниб Iуащхьэм къыщаувыхьа Iимамыр лъэныкъуитIми щыхагъэзыхьым, абы чэнджэщэгъу хуэхъуахэм язщ «Дарго зэрыщыIэрэ Iимамым хиубыдыкIауэ фIыуэ илъагъу», ищхьэкIэ зи гугъу тщIа Шэркэсий Ибрахьим-хьэжы. Барятинскэм и лIыкIуэхэм пцIы зэраупсыр, Iимамыр псэууэ зыIэрагъэхьэн папщIэ иджыри зэраупсынур лIыкIуэхэм хъыбару къахьа нэужь, Iимамым къыбгъурытыпэу псори зи нэкIэ зылъэгъуа икIи зытхыжа и малъхъэ Гъэзикъумыхъу Абдурахьман тхыгъэ зэхрагъэлъхьащ. Абдурахьман етхыж: «Iимамым къыбгъэдэкIыу сэ мыпхуэдэу сагъэтхащ: «Къэфкъазым и тет Барятинскэ джыназым деж. Сэлам идох гъуэгу захуэм тет псоми. Мэчэм кIуэ гъуэгур сэрэ си гъусэхэмрэ хуит схуэфIщмэ, мамырыгъэкIэ дызэгуроIуэ, хьэуэ жыфIэрэ – хьэуэ». Тхыгъэр хьэзыр хъуа иужь, Абэзэхэм щыщ мухьэжыр Ибрахьим-хьэжы къыхилъхьащ: «Уа Iимам! Тхыгъэм мыпхуэдэ псалъэхэр дэщIыгъуамэ арат: «Сэшхуэхэр къитхакIэщ, ди Iэхэри кIэзызынукъым». Iимамым и унафэкIэ а псалъэхэр тхыгъэм хэзгъэувэжащ». «Ц1ыхур къызэралъхури зэрылIэри зэщ. Сыт хуэдизрэ дымыпсэуми, гува щIэхами дылIэжынущ. Дунеягъэм фи гупсысэхэр пывгъэкI, фи ахърэт гъуэмылэр хэмыщIын папщIэ», - яжриIэт Щамил и къуэхэмрэ и муридхэмрэ, лIэныгъэм щымыщтэн папщIэ ягухэр фIы яхуищIу. Тхыгъэр кIыхьыIуэ тфIэмыхъун щхьэкIэ нэмыгъэсауэ къэдгъанэ мы хъыбарым гукъыдэж зиIэр щеджэфынущ Гъэзикъумыхъу Абдурахьман и «ГукъэкIыжхэм я тхылъым». А щапхъэхэм къагъэлъагъуэ Мухьэммэд-Iэмин Шэрджэсейм кIуэн ипэ Адыгэхэр къезгъэцIыхуни, лъэпкъым теухуауэ и чэнджэщ зрихьэлIэни игъуэту зэрыщытар. «Псыжьрэ Лабэрэ я зэхуакум дэлъ щIы Iэхьэр яфIэкIуэда нэужь, шэрджэс адыгэхэм нэхъ япхыкIащ Щамил и унафэм щIэту Дагъыстэнымрэ Шэшэнымрэ ирагъэкIуэкI банэныгъэм хэувэныр зэрынэхъыфIыр, - дыкъыщоджэ ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа Хьэткъуэ Самир и «Хьэжрэт Къэбэрдейм». - Апхуэдэ зэпыщIэныгъэхэр къэунэхуным фIыуэ хэлэжьыхьащ ШэшэныщIыр щтапIэ зыхуэхъуа, ауэ Къэбэрдейм пыщIауэ къэна къэбэрдей хьэжрэтхэм я пашэхэр. Мин щий плIыщIрэ зы гъэм Щамил и унафэм щIэту екIуэкI бгырыс банэныгъэм и ехъулIэныгъэхэр апхуэдизкIэ нэрылъагъути, адыгэхэми абы щапхъэ трахыну мурад ящIащ, Iимамым дзыхь зыхуищI и лIыкIуэ Шэрджэсейм ирагъэблагъэу. Апхуэдэу убла хъуащ Адыгэ зэкъуэхуахэр зэгуэхьэу щхьэхуитыныгъэм и нып лъабжьэм щызэкъуэувэнымкIэ къалэн къызэрымыкIуэ зыгъэзэщIа нэIибхэу Щамил Iимамым Шэрджэсейм игъэкIуахэм я тхыдэр». ЩIэныгъэлIым и гупсысэр къабыл уегъэщI урысей-дагъыстэн тхакIуэ Казиев Шапи минитIрэ зы гъэм къыдигъэкIа «Iимам Щамил» тхылъым щыщ пычыгъуэми: «Къэфкъазым и тхыдэмрэ зауэр зэриухыну щIыкIэмрэ зэлъыта зы Iуэхушхуэ иджыри къэхъуащ мин щий плIыщIрэ и гъэм. Ипщэ-КъуэхьэпIэ Къэфкъазым щыщ Адыгэ лъэпкъхэм яз Абэзэхэхэм Щамил и деж лIыкIуэ гуп къагъэкIуат. Ахэр щIэлъэIут я лъэпкъхэр шэрихьэтым тришэу зыкъуэзыгъэувэфын нэIиб яхуигъэкIуэну. ХьэщIэхэм Щамил хагъэзыхьт, нэIибыншэу ягъэзэжын ямыдэу: «Псори ахърэтым дыкIуэжа нэужь, ди лIыкIуэ лъапIэм IэплIэешэкIкIэ жэнэтым ущришэкIэ, дэ, Абэзэхэхэм, уи цеикIэр дубыдынурэ уидгъэхьэнукъым: ди лъэIухэм хьэтыр къыхуищIакъым, гузэвэгъуэм ди закъуэу дыкъыхинащи, жэнэтым ихьэну хуэфащэкъым, жетIэнущ Бегъымбар лъапIэм». Мухьэммэд-Iэмин Адыгэхэм лIыкIуэ зэрахуэхъуар зэрымыщIэкIэ къэхъуа Iуэху хуэдэу къыхощ тхыгъэ куэдым. Уеблэмэ езы Щамил нэгъуэщI зыгуэр игъакIуэмэ нэхъ къищтэу, Мухьэммэд-Iэмин яфIэкIуауэ къызыхэщ тхыгъи урохьэлIэ. Нэхъ гъунэгъуу хъыбар пэжым бгъэдэхьэфынур, дауи, Iуэхур зи нэгу щIэкIарщ. Абыхэм ящыщщ Iимамым и малъхъэ, Гъэзийкъумыхъу Джэмалуддин-щихъышхуэм и къуэ Абдурахьман. ЩIалэ набдзэгубдзаплъэм гу зэрылъитамкIэ, Щамил игъэкIуэнур куэд щIауэ къыхихакIэт, ауэ имыдэ хуэдэу IэкIуэлъакIуэу зрилъэфыхьу арат, лIыкIуэхэр къыщIадзэжурэ зэрылъаIуэм Мухьэммэд-Iэмин и Iуэхур нэхъ тынш зэрищIынур ищIэти: «Щамил Абэзэхэ щIыналъэм къикIыурэ тхыгъэ щэхухэр къыIэрыхьэт. Адыгэхэр лъаIуэт Iимамым цIыху зэзыгъэдэIуэфын, дзыхь зыхуэпщI хъун, я Iуэху зэтезыгъэувэн унафэщI яхуигъэкIуэну. Апхуэдэу щыхъум, Iимамым Iуэхур зэхуэсым и пащхьэ ирилъхьэри яхэупщIыхьащ, хэт апхуэдэ пщIэ нэхъ хуэфащэ жиIэри. Дэтхэнэ зыми езым и нэфI зыщыхуа ныбжьэгъу гуэр, адыгэхэм я деж кIуэну имыжагъуэу къигъэлъагъуэт. Мухьэммэд-Iэмин абдеж дыдэм тхэуэ щыст. Щамил арат игъэкIуэну зыхуейр, унафэ IэщIэплъхьэ зэрыхъунур ищIэти. Ар къыщыхилъхьэм, Iимамым и дэфтэрзехьэ, Чиркей щыщ Iэмырхъан щIэупщIащ: «Сыт Мухьэммэд-Iэмин Абэзэхэ цIыхубэм яхуищIэфынур? Ар хьалимщ икIи мурид псэ къабзэщ, ауэ зэуэным нэхърэ щIэныгъэм нэхъ хуэIэижьщ». Абдежым си адэм жиIащ: «Аращ ар езыр бгъэкIуэну нэхъ къыщIезэгъри. Сыту жыпIэмэ, фIэщхъуныгъэ куу бгъэдэлъщ. Алыхьталэм и псалъэр игъэпудынукъым. И щэныфIагъри ефIэкIуэнущ». Щамилрэ си адэмрэ я акъыл зэтехуэри, Iимамым Мухьэммэд-Iэмин игъэкIуащ. Псори зэрыщыгъуазэщи, абы къехъулIащ адыгэхэм ящыщу Iуэхум зэран хуэхъухэр гъэIэсэныр, ауэ абы папщIэ гугъуехьу ар зыпхыкIар абрагъуэт». Шэрджэсейр Мухьэммэд-Iэмин кIуэн ипэ Мин щий тIощIрэ бгъуы гъэм, фокIадэм и тIощIрэ тхум Урыс пащтыхь Николай Езанэм фельдмаршал Паскевич Иван хуетх: «ЩIыхь зыпылъ зы Iуэхур зэфIэбгъэкIащ, иджы IуэхущIэ къыппэщылъщ, си гугъэмкIэ, и мэхьэнэр мынэхъ мащIэу, уегупсысмэ, и фейдэри нэхъыбэу – ар бгырыс лъэпкъхэр афIэкIа зыкъамыIэтыжын хуэдэу гъэIэсэнырщ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, икIуэтын зымыдэхэр зэтеукIэнырщ». Пащтыхьыр зытепсэлъыхьыр урыс-тырку зауэм иужькIэ къэралитIым зращIылIа «Адрианополь зэгурыIуэныгъэм» къарит «хуитыныгъэрт». «Хы ФIыцIэ Iуфэр зэрыщыту, Псыжь щыхэлъадэм деж щегъэжьауэ Николай ЛъапIэм и кхъухьтедзапIэм нэс игъащIэкIэ Урысей империем ейуэ щытынущ», - иратхат а зэгурыIуэныгъэм и еплIанэ Iэхьэм. Абдеж щыщIэдзауэ Урысейм КъуэхьэпIэ Къэфкъазыр иубыдыныр хабзэкIэ игъэзахуэ икIи икIэщIыпIэкIэ зэфIэгъэкIын хуей Iуэхуу къелъытэ. Мин щий тIощIрэ бгъуы гъэм Тырку сулътIаным и лIыкIуэ Салахур – Магомет – ага Шэрджэсейм къагъакIуэ, - етх Хьэткъуэ Самир. - Абы кърагъэхьа дэфтэрым ипкъ иткIэ, сулътIаным Адыгэ шэрджэсхэм унафэ къахуищIт мин щий щэщI гъэм и гъатхэпэмрэ накъыгъэмрэ я зэхуакум Константинополь кIуэхэу Тыркум и жьауэ щIэувэну. Я пIэ имыкIыу къанэхэр Урысым и телъхьэу ябжынут. Iэпхъуэнухэр Тыркум нигъэсыну сулътIаным Суджукъ-къалэ кхъухь къиутIыпщт. А унафэм къикIыр хэкум къинэ Адыгэхэм Тыркум я Iуэху зэрыхэмылъыжыр, ахэр Урысейм хуит зэрахуищIрат. «Зауэр иухат, - къэхъуар нэхъ гурыIуэгъуэ ещI къэзакъ тхыдэдж Короленко Прокопий. - Тырку сулътIаным Урысейм хуит хуищIар адыгэ Шэрджэсхэм я политикэ Iуэхухэр щызэрахьэ, я быдапIэ нэхъыщхьэу ялъытэ Iэнэпэ и закъуэтэкъым, атIэ Псыжь щегъэжьауэ хы ФIыцIэм и къуэкIыпIэ Iуфэм нэс дэлъ щIыналъэм щыпсэу бгырысхэри яIэщIилъхьат». Урысеймрэ бгырысхэмрэ иджы зэрыхуа щытыкIэщIэм шэч къыхэмынэжын папщIэ, къэфкъаз урыс дзэпщ граф Паскевич езым дзыхь зыхуищI ефэнды Исуф Псыжь и щIыбкIэ щыпсэу лъэпкъ псоми Уэсмэн къэралыгъуэмрэ Урысеймрэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм и мэхьэнэр, ПсыжьадрыщI щIыналъэр зэрыщыту Урыс пащтыхьым и унафэ зэрыщIэувэр ягуригъэIуэну игъэкIуащ. Паскевич и тхылъымпIэр Адыгэхэм я деж нэса нэужь, мин щий щэщI гъэм Iэдэгъум псыежэхым пэгъунэгъуу бгырыс лъэпкъхэм зэхуэсышхуэ ирагъэкIуэкIащ. ПщIэ нэхъ зиIэу яхэт Занокъуэ Сэфэр-бей утыкум къихьэри, дяпэкIэ Тырку тепщэгъуэм Адыгэ шэрджэсхэм я Iуэху зэрызримыхуэжынур гурыIуэгъуэу псэлъащ. Иджы хэкIыпIэу къахуэнэр е я лIыгъэм щыгугъыу зэуэн, е мамыру Урысхэм я жьауэ щIэувэн. Къэпсалъэм япэрей хэкIыпIэр фIэзахуэтэкъым. «Сэ сощIэ, - жиIэт Занокъуэм, - Урысейм и къарур здынэсыр. Ди унагъуэхэр гузэвэгъуэм къедгъэлын папщIэ, псом нэхъыфIу къэслъытэр урысхэм зэгурыIуэныгъэ етщIылIэнырщ». Абдеж дыдэм Тыркум адэкIэ зэрадекIуэкIынур зэхагъэкIыну Константинополь кIуэуэ къэкIуэжа Шапсыгъ лIыкIуэхэр Сэфэр-бей жиIэм и щыхьэту къэувахэщ икIи къыдыщIагъуащ Тырку къэралыгъуэм Урысейм и лъабжьэ щIэувэн зымыдэ Адыгэхэр мин щий щэщIрэ зы гъэм и гъатхэпэм из пщIондэ Тыркум Iэпхъуэну хуит зэрищIыр. А илъэс дыдэм, мин щийрэ щэщI гъэм, Унцукъул Авар къуажэм Дагъыстэн лъэпкъхэм я зэхуэс щокIуэкIри Ярагъий Мухьэммэд щихъышхуэм и гъэсэн Гъэзий Мухьэммэд Дагъыстэн псом я Iимаму хах, къэзэуатым къыхуриджэныр и пщэрылъу. «Бгырысым и псэр фIэщхъуныгъэмрэ хуитыныгъэмрэ къыхэщIыкIащ, – захуигъэзащ и лъэпкъэгъухэм Гъэзий Мухьэммэд IэнатIэм щыпэрыувэм. - Апхуэдэу дыкъигъэщIащ Алыхь Талэм. Ауэ джаур унафэм щIэт фIэщхъуныгъэр нэгъэса хъукъым. Маржэ, си къуэшхэ, фыхуэтэдж къэзауат лъапIэм! Къэзэуат - епцIыжакIуэхэм! Къэзэуат - ди хуитыныгъэм къебгъэрыкIуэ псоми!» А зэманым ирихьэлIэу Щамил и ещанэ лIыкIуэр иджыри здынэмыса Шэрджэсейм щекIуэкIыр Адыгэхэм ядэIэпыкъуну Польшэм зауэлI гуп къизыша Лыхь дзэзешэ Лапинский Теофил дегъэлъагъу[11]: «ЦIыхубэм я чыристан хабзэжьхэр зэрахьэт, иджыпсту урыс чыристаныгъэм хуаIэ гужьгъэжьыр абы щыгъуэм иджыри муслъымэныгъэм хуаIэу. Ауэ абы щхьэкIэ къэмынэу, ШэрджэсейкIэ зэджэ Абазэ[12] щIыналъэр Тыркум ей хуэдэу картэ псоми иратхэт, иджы Урысейм хэхьэу зэрыратхэм хуэдэ дыдэу… Пащтыхьым Абазэ хэкур урыс щIыналъэ пхыдзауэ игъэIури кхъухьхэм хы Iуфэр яуфэбгъуат, дзэр – хэкум ихьат. Абдежращ ипэжыпIэкIэ Урысеймрэ Абазэхэмрэ зэдрагъэкIуэкIа зауэм щыщIидзар». «Зэгъэзэхуауэ псыхъуэхэмрэ бгы лъапэхэмрэ пагъэщхьэхукIти къэзакъ станицэхэмрэ быдапIэхэмрэ тращIыхьт, - топсэлъыхь а лъэхъэнэм къэбэрдей тхыдэ щIэныгъэлI Къущхьэбий Анзор. - Мин щий плIыщI гъэм быдапIэрэ плъырыпIэу пщыкIубл (НовороссийскIэ, НавагинскIэ, ТенгинскIэ, нэгъуэщIхэри) зыхэт хы ФIыцIэ Iуфэ Гъунапкъэ Узэдар яухуакIэт. ЦIэмэз кхъухьтедзапIэм и Iэгъуэблагъэм хы ФIыцIэм тет урысыдзэр щитIысыкIат. Мин щий щэщIрэ бгъуы-мин щий плIыщI гъэхэм Псыжь деж щегъэжьауэ КъуэхьэпIэмкIэ гъэзауэ быдапIэ сатыр (ЗассовскIэ, МахошевскIэ, нэгъуэщIхэри) тращIыхьащ, къэзакъ зауэлI къагъэIэпхъуэхэм я бжыгъэри хэхъуащ. ЕпщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм и кум Псыжь гъунапкъэм урысу щыпсэухэм я бжыгъэр мин тхущIрэ хырэ щитхурэ пщIейрэ хым (56 586) нэблэгъат». Мухьэммэд-Iэмин Шэрджэсейм макIуэ Мин щий плIыщIрэ и гъэм и кIэм хуозэ урысхэм я телъхьэхэм гу къылъамытэн хуэдэу, хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр зэрылъ шыгум щыщIэхъумауэ Мухьэммэд-Iэмин Шэрджэсейм щэхуу къыщыхута зэманыр. Тхыдэ щIэныгъэлI Тошаев Феликс зэритхыжымкIэ, Щамил и нэIиб ещанэм теухуауэ хъыбар гъэщIэгъуэн куэд зыхъумэ адыгэ IуэрыIуатэм къыхощ ар Абэзэхэхэм зэрахэхьа щIыкIэр: «Япэу ар зыдэхьар Хьэджымыкъуэ хьэблэрщ, япэу и унэ езыгъэблэгъари Хьэджымыкъуэ Исмелщ. КъыздикIамрэ зищIысымрэ зэхигъэкIа нэужь, Хьэджымыкъуэм ар ефэнды Iустокъуэ деж ишащ. Псалъэ зыбжанэ зэрызэIэпахыу, ефэндым къыгурыIуащ Мухьэммэд-Iэмин КъурIэным фIыуэ зэрыхищIыкIым. Щамил и лIыкIуэм щIэныгъэшхуэ бгъэдэлът, куэд дэмыкIыу ефэнды псоми абы и деж чэнджэщакIуэ къэкIуэн щIадзащ». Мухьэммэд-Iэмин зыхэхьа Адыгэ лъэпкъхэр Урысхэм лIэужьыгъуитIу яугуэшт: «мамырхэмрэ», «зэранщIакIуэхэмрэ». «ЗэранщIакIуэхэм» хиубыдэт Абэзэхэхэр, Шапсыгъхэр, Убыххэр, Натыхъуейхэм я нэхъыбэр. Адрей Адыгэ лъэпкъ псори езыхэм я телъхьэхэм хабжэт. Зауэ IуэхухэмкIэ министр Чернышёв Александр мин щий щэщIрэ блы гъэм къэфкъаз бгырысхэр зэрагъэIэсэну щIыкIэм щытепсэлъыхь дэфтэрым Адыгэхэр лIэужьыгъуищу щызэхедз: «Псыжь и Iэгъуэблагъэмрэ ар хы ФIыцIэм пызыщIэ щIыналъэмрэ щыпсэу Шэрджэс лъэпкъхэр урыс тепщэгъуэм зэрыхущыт и лъэныкъуэкIэ лIэужьыгъуищ мэхъу: икIуэтыпахэр: ар Къэбэрдей лъэпкъхэращ; икIуэтами, я щIыпIэм ис тепщэгъуэр зигу темыхуэхэр: ар Псыжьрэ Лабэрэ я Iэгъуэблагъэм исхэрщ; къыдэбийхэр: Псыжьрэ хы ФIыцIэ Iуфэмрэ зэпызыщIэ щIыпIэм щыпсэу Натыхъуейхэр, Шапсыгъхэр, Абэзэхэхэр». Мин щий плIыщIрэ и гъэм Пщыщхьэ (Пшахе) псыежэхым деж щекIуэкIа лъэпкъ зэхуэсышхуэм Мухьэммэд-Iэмин япэ дыдэу Щамил и къуэдзэ нэIибу утыку къыщохьэ. Ар апхуэдизкIэ игурэ и щхьэрэ зэтелъу къэпсэлъати, ипэкIэ дзыхьмыщIу къыхущыта пщыхэмрэ уэркъхэмрэ уафэр къатегъуэгъуам хуэдэу зэкъуэхуахэт, - жеIэж Лапинский Теофил. - Утыку къихьэн ипэ щэхуу дамэгъу ищIа телъхьэ миным къаухъуреихь нэIибым а лъэпкъ зэхуэс гукъинэжым щыжиIар мыращ: Адыгэ лъэпкъым и напэтех гъащIэм кIэ етын хуейщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, бегъымбар лъапIэм и диныр къэзыщтэм муслъымэным и хуитыныгъэхэри къыIэрохьэ. Iислъамым и хабзэкъым зы муслъымэныр иIэту адрейр игъэпудыныр; лIакъуэ зэхэгъэж, пщы-уэркъ хэгъэщхьэхукI щыIэн хуейкъым. КъурIэным цIыху гъэпщылIыныр гъунапкъэ пыухыкIам ирегъэувэ, аращи пщылIхэм я Iуэхури хабзэм тегъэувэн хуейщ, хуит ящIыжыпхъэхэр яутIыпщыжынущ. Адыгэ тхыдэм бзыщIауэ ихъумэ напэкIуэцIхэм ящыщщ зы Адыгэм адрейр гъэру иубыду ищэу зэрыщытар. ЩIэныгъэлIхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, Мухьэммэд-Iэмин и фIыгъэщ лъэпкъым игу къигъэкIыжыну фIэмыфI а «адыгэ хабзэр» зэрыкIуэдыжар. ЛIакъуэ зэхэдзым и гугъу тщIымэ, кIахэ Адыгэхэм я деж абы кIуэдыжын зэрыщIидзэрэ зэман дэкIат. Уеблэмэ япэу ар зыгъэунэхуа пщы лъэпкъхэм хабжэ муслъымэн диныр Къэбэрдейхэм къахэзыхьауэ ялъытэ икIи «хьэжрэтхэм» я пашэу илъэс бжыгъэкIэ екIуэкIа ХьэтIохъущокъуэхэ[13]. ТхьэфIэлIыкIыр игъэнэхъапэу, къежьар лIакъуэ зэхэгъэж щымыIэн хабзэрат, армыхъумэ езы Мухьэммэд-Iэмин къиIуэтэж хъэбархэм мызэ-мытIэу къыхощ абы Iуэхушхуэ къиIэтыху шэрджэсыпщхэр зэригъусар. Мин щий плIыщIрэ бгъуы гъэм и щIышылэм и пэм нэIибым Абэзэхэхэр зэхуишэсри Щамил яхуригъэхьа тхыгъэм, езым и унафэ къыщIэувэныр къалэн ящызыщIым, къахуеджащ. «Мухьэммэд-Iэмин и Iуэхум зыщиубгъу щIыналъэр Лабэшхуэрэ Псыжьрэ я зэхаку дэлъ хы ФIыцIэ Iуфэрт, Псыжь хым щыхэлъадэм деж щегъэжьауэ Абхъаз щIыналъэм нэсыху. Мин щий плIыщIрэ бгъуы гъэм абы адыгэ лъэпкъ зэхуэсышхуэ ищIри я муслъымэныгъэр здынэсыпхъэм нэгъэсын зэрыхуейм къыхуриджащ: шэрихьэтым ткIийуэ техьэныр, къанэ щымыIэу псори къэзэуат лъапIэм дэкIыныр, псыжьадрыщI лъэпкъхэр зэрыщыту зы къарууэ зэгуэхьэу, я диным и бий урысхэм мамырыгъэ IуэхукIэ зыпамыщIэныр къалэну къахуигъэуву, а унафэр тырку сулътIаным къызэрыбгъэдэкIыр къыхигъэщу», - щыжеIэ Бжьэдыгъукъалэ щыщ тхыдэтх Покровский Михаил «Мурид хабзэм КъуэхьэпIэ Къэфкъазым зэрызыщиужьа щIыкIэр» тхыгъэм. «Къэфкъазым иджы щыкIуэдыжа мурид хабзэм и джакIуэхэм ящыщу, Щамил укъыфIэкIмэ, захуагъэм и хьэтыркIэ япэу зи цIэ къипIуэну нэхъ зыхуэфащэр Мухьэммэд-Iэминщ», - щыхьэт тохъуэ Мухьэммэд-Iэмин и цIэр и фIэщыгъэу тхыгъэ псо къызэзынэкIа урыс дзэзешэ Карлгоф Николай. «Япэу абы теухуа хъыбархэм къэIун щыщIадзар мин щий плIыщIрэ бгъуы гъэрщ, - къыхегъэщ генералым. – Абыхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, дэ къыдэзауэ лъэпкъхэм ар мин щий плIыщIрэ и гъэм и кIэм къахэхьащ. ЯпэщIыкIэ ар нэхъ зэлIэлIар: дэ жыIэщIэ къытхуэхъуа «мамыр» лъэпкъхэр и унафэм щIигъэувэн; зыхэхьа цIыхубэм я зэхуаку хабзэ пыухыкIа щиукъуэдиин; дзэрэ жыжьэрыуэ Iэщэрэ зэригъэпэщын Iуэхухэращ. Езыр къарууфIэ хъуху дэ къызэрытпэщIэмыувэным иужь итащ. Хабзэ щызэтриухуэн папщIэ, абы щIыналъэр унагъуищэ-унагъуищэу иугуэшри IэхьиплI ирищIыкIащ, дэтхэнэ зыми «мэхъчэмэкIэ» еджэу хеящIэ IуэхущIапIэ иIэу, зы муфтийрэ къады щырыщрэ щылажьэу. Муфтийр а щIыналъэ Iэхьэм и унафэщIт, къадыхэр абы и чэнджэщэгъут. Ахэр унафэщIт икIи хеящIэхэт. ЦIыхухэм зыкъаIэт хъумэ, къахъумэну абыхэм «муртазэч» зыфIаща дзэ щхьэхуэ къабгъэдэтт. Дэтхэнэ зы мэхъчэмэми хэхьэт мэжджыт, хеящIэ IуэхущIапIэ, мыдрисэ, щIапхъаджащIэхэр зрагъэтIысхьэ мащэ, унафэщIхэмрэ шухэмрэ зыщIэсын унэ, шэщ, тыкуэн. Ахэр зыхэпсэукIыр цIыхухэм я мылъкум хатыкI ахъшэм къыхэкIт. Унагъуэ-лъапсэм Iэщэ-фащэкIэ зэгъэпэщауэ зы шу хьэзыр сыт щыгъуи къигъэувыну и къалэнт, Iуэхур нэхъ гугъу щыхъухэм и деж – шууитI-щы, е жылэм зэуэфыну дэс псори дэкIт. Щамил ещхьу, нэIибым урыс сэлэтхэр хьэпсым иримыгъэсу, Iэщэ къыщIэзыгъэкI кIыщхэр зэригъэпэщыным я ужь ихьат, ахэр щигъэлажьэу. Абыхэми ящымыгугъыу, дэнэ кърихами, нэIибым Iэщэ мымащIэ зэрихьэт, псалъэм папщIэ, мэхъчэмэ къэс жыжьэрыуэ топ тIурыт яIэт. ЦIыхубэ зэхуаку щызекIуэ хабзэжьхэр абы шэрихьэт хабзэмкIэ ихъуэжт, ауэ пIалъэкIэ бгырысхэр зэса лъэпкъ хабзэхэм еIусакъым, псом хуэмыдэу пщы-уэркъхэм я хуитыныгъэм. Абы и фIыгъэкIэ Мухьэммэд-Iэмин и лъэныкъуэр лъхукъуэлIхэм я мызакъуэу, пщы-уэркъхэми къащтат. Зэхуэдэныгъэр зи лъабжьэ диным егъэлеяуэ щыгуфIыкIт хуит хъужа пщылIхэр. ХеящIэ IуэхукIэ нэIибыр шыщхьэмыгъазэт, бзаджащIэхэм хабзэжьым хэмыта тезырхэр ятрилъхьэу: бийм бзэгузехьэ хуэхъуахэр яукIт; дыгъухэм я Iэр паупщIт; я ныбжьым емылъытауэ, ди телъхьэхэмрэ япэщIэувэхэмрэ мащэм ирадзэт». Карлгоф зи гугъу ищI урыс гъэрхэм я гугъу щещI Мейкъуапэ щыщ щIэныгъэлI - лъахэхутэ Бормотов Иван «Хьэджэхъу псыдэуапIэ» зыфIища и тхыгъэм: «Урысхэм ящыщу гъэр ящIахэм е езыхэм я гукъыдэжкIэ Щамил и нэIиб Мухьэммэд-Iэмин гуэхьахэм папщIэ Щыхьгуащэ и ищхъэрэкIэ (зэрыхуагъэфащэмкIэ – ХъымыщкIей) мэкъумэшым елэжь IуэхущIапIэшхуэ щызэрагъэпэщауэ щытащ нэрыбгэ щий екIуалIэу. Урысхэм языныкъуэхэр хадэхэкIхэм елэжьт, адрейхэр IэщагъэлIхэт. Урыс яхэтт нэIибым и хъумакIуэхэми и дзэм щыщу жыжьэрыуэ Iэщэзехьэхэми». Тошаев Феликс и тхыгъэм къызэрыхэщымкIэ, Мухьэммэд-Iэмин здэкIуа Шэрджэсейм щылажьэ молэхэм я нэхъыбэр Тыркум щыщт, адыгэбзэр щIагъуэу ямыщIэу, щIэныгъэшхуэи ябгъэдэмылъу. НэIибым мэхъчэмэ къэс еджапIэ къыщызэIуихри Адыгэ дин лэжьакIуэхэр ягъэхьэзырын щIадзат. «Муслъымэн диныр къазэрыхэхьэрэ хьэрыпыбзэр, КъурIэным и бзэр, мыбыкIэ егъэлеяуэ щефIэкIуащ, – етх мин щий тхущIрэ блы гъэм Лапинский Теофил. - Абэзэхэ щIыналъэми Шапсыгъым и щIыпIэ куэдми диныр щадж, КъурIэнымрэ хьэрыпыбзэмрэ щрагъащIэ еджапIэхэр къыщызэIуахащ. Сэ сыщыщыIа лъэхъэнэм щIыналъэм еджакIуэ щIалэ цIыкIухэу исым я бжыгъэр миным нэблагъэт». Мухьэммэд-Iэмин щхьэзакъуэ унафэкIэ утыку зэримытыр жиIэми ищIэми къыхэщт, адыгэ банэныгъэр Тырку сулътIанымрэ Щамил Iимамымрэ я нэIэ тету зэрекIуэкIыр къару лейуэ лъэпкъым зыхригъащIэу. Хъэбархэм къызэрыхэщымкIэ, мин щий плIыщIрэ бгъуы гъэм и закъуэ нэIибым и дзэр бжыгъэкIэ къебэкI биидзэ узэдам щэрэ зэрэ ятеуащ, текIуэныгъэр къаIэрыхьэу. Адыгэхэр абы апхуэдизкIэ жану къыгуэхьэти, мин щий плIыщIрэ бгъуы гъэм нэIибым урысхэм я телъхьэ Адыгэхэр лъэщыгъэкIэ и унафэ щIигъэувэным тегушхуат. Мин щий плIыщIрэ бгъуы гъэм мэкъуауэгъуэм и тхум ар зауэлI гупышхуэ и гъусэу КIэмыргуейхэмрэ Еджэрыкъуейхэмрэ я щIым ихьэри а лъэпкъхэр и унафэм щIигъэуващ. Абыхэм я щапхъэм ирикIуащ Мэхъуэшхэри, ауэ Беслъэнейхэм а мурад дыдэр Къэфкъаз гъунапкъэм Iут урысыдзэм къахузэпиудащ. НэIибым Шэрджэсейм щиубла хабзэхэм я гугъу ещI дагъыстэн щIэныгъэлI Магомеддадаев Iэмырхъан: пащтыхьыдзэм IущIэным хуэхьэзыр зэпыту щытын, Урыс быдапIэхэм пыщIэныгъэ зыри ядимыIэн. И мурадхэм лъэIэсын папщIэ шэрихьэтыр къригъащтэкIэрэ, абы адэкIэи зригъэужьт «хьэжрэт» IэпхъуэкIэм. Адыгэ тхыдэм «хьэжрэт» псалъэр зрипхыу къежьар Къэбэрдейм иIэпхъукIыу ПсыжьадрыщI щIыналъэм банэныгъэ щызублахэрщ. Зэры-Къэфкъазу къапщтэмэ, «мухьэжыр» хужаIэт, Iислъамым и тхыдэм къызэрыхэщым ещхьу, бийр щыпэрыт щIыналъэм икIыу диныр фIэгъэнапIэншэу щызэрахьэфыну щIыпIэм Iэпхъуэхэм. Ауэ гъэщIэгъуэнщ Iэмалыншагъэм къыхэкIа апхуэдэ къэфкъазкIуэцI IэпхъуэкIэм хуагъадэу, ИстамбылакIуэми къэхъушхуа щымыIэ хуэдэу тепсэлъыхь зэрыщыIэр. МинитIрэ пщыкIуплI гъэм мазаем и плIым, Сочи Олимпиадэр къызэIуахыным махуипщI иIэжу, Урысейм и ЩIэныгъэхэмкIэ Академием и Этнологиемрэ АнтропологиемкIэ институтым и унафэщI, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Тишков Валерий «Къэфкъаз политикэ» Интернет напэкIуэцIым къытехуа «Мухьэжыр Iэпхъуэнымрэ «адыгэ Iуэхумрэ» и тхыгъэм щыжеIэ: «Урыс унафэщIхэм зэрыхагъэзыхьым и закъуэтэкъым хьэжрэтым щхьэусыгъуэ хуэхъуар. Къэфкъаз зауэм хэта къару псоми цIыху гъэIэпхъуэныр езыхэм я фейдэкIэ къагъэщхьэпэт… Бгырысхэр зауэм и фейдэкIэ мэхьэнэ зиIэ бгы лъапэхэм, псыхъуэхэм ирагъэIэпхъукIыурэ, урыс унафэщIхэм а щIыпIэхэм къэзакъхэмрэ зауэлIхэмрэ ирагъэтIысхьэт. Щамили и Iимам хэкум къыпэщIэувэ къуажэхэр хигъэзыхьыурэ игъэIэпхъуэт. Ищхъэрэ-КъуэхьэпIэ Къэфкъазым а политикэ амал дыдэр къыщигъэщхьэпэт абы и нэIиб Мухьэммэд-Iэмин. Уеблэмэ зауэ зэманым хэкукIуэцI Iэпхъуэныгъэхэм нэхъ хиубыда Къэбэрдей, ПсыжьадрыщI, Осетие, Ингуш щIыналъэхэращ мухьэжыру Iэпхъуахэм я нэхъыбэр къыщежьар». ЩIэныгъэлI щхьэмахуэм и пщIэр дгъэлъэхъшэн плъапIэ диIэкъым, ауэ пэжымрэ пцIымрэ екIуу щызэхэухуэна псалъалъэм ипкъ иткIэ фIэкIа унэм щIахуами абы щIэтIысхьами «Iэпхъуа» пхуфIэщIыну къыщIэкIынкъым. Мин щий тIощIищ гъэм къуэкIыпIэбзэхэмкIэ IэщIагъэлI Казембек Мирза Александр Мухьэммэд-Iэмин Бытырбыху щригъэблэгъат. ЩIэныгъэлIым и лъэIукIэ итхыжа и гъащIэ гъуэгум нэIибым щыжеIэ: «Адыгэ щIыналъэхэм гугъуехьу щыдиIа псор: зекIуэхэр, псалъэ ята нэужь къыдэпцIыжахэм дазэрыпэщIэтар, уеблэмэ ипэм щыщIэдзауэ лъэпкъхэр ди унафэм зэрыщIэдгъэува щIыкIэр, урыс гъунапкъэхэм деж щыс къуажэхэр зэрыдгъэIэпхъуар; бзаджащIэхэр зэрыдгъэшынар, - птхыжыну ухуежьэмэ, тхылъышхуэ зыбжанэ пхуригъэкъунт. Дэ псалъэ куэдымрэ еджэр едгъэзэшэнымрэ дыхуэсакъащ». Адыгэ шэрджэс лъэпкъхэр нэIибым бгъэдоувэ Мин щий тхущI гъэм, накъыгъэм и пщыкIутхум Тырку сулътIаным и лIыкIуэу Шэрджэсейм щыIэ Агъасы-оглы Мемет- ефэнды Щамил и лIыкIуэм теухуауэ и тепщэм хъыбар хурегъэхь: «Адыгэ шэрджэс лъэпкъхэм, пщылI къарууншэхэм я Iуэху зыIутыр, зиусхьэн, пщIэну ухуеймэ, ахэр, уи Iэми уи лъакъуэми ба хуащIурэ, уи узыншагъэм ныщIоупщIэ. Зи щIыхьыр ин щихъ Щамил щхьэмахуэм и деж къикIри Адыгэ шэрджэс лъэпкъхэм дагъыстэн лIыкIуэ, щихъ Мухьэммэд къахэхьащ. Ди деж тепщэу къагъэкIуа нэужь, абы Адыгэ шэрджэс лъэпкъ псори, - Беслъэнейхэри, Башылбейхэри, Бжьэдыгъухэри, Мэхъуэшхэри, КIэмыргуейхэри, Абэзэхэхэри, Убыххэри, Шапсыгъхэри, Натыхъуейхэри, Iуэрдэнейхэри, Хьэмыщейхэри, - зэхуишэсри, езыр щыту, илъэсипщIымрэ илъэс блыщIымрэ я зэхуаку дэтхэм КъурIэным я Iэр тралъхьэурэ тхьэ яригъэIуащ зиусхьэным (тырку сулътIаным) захуагъэм тету зэрыхуэпэжынумкIэ. Япэу КъурIэным зи Iэ тезылъхьар езы Мухьэммэдщ». Лапинскэм зэритхыжымкIэ, текIуэныгъэр и Iэпэгъуу, ар зрикIуа Шапсыгъ Тафэм, Абын, Антхыр, Убын псыежэххэм я Iуфэхэм мэхъчэмэ зырыз щиухуат. Абэзэхэхэм я деж – мэхъчэмитху: Псэйкъуэпс, Пшыз, Пщыщхьэ, Шавготч, Бжьэдыгъу деж. Мэхъчэмэ къэс и унафэщIыр езы нэIибым тригъэувэт, къадий тIурытI тхьэмадэхэм хахыжт. Мэхъчэмэм и чэнджэщакIуэ гупыр лъэпкъийм тIурытIу къыхаха лIыкIуэхэт, псори зэхэту тхьэмадэ пщыкIух хъухэт. Ахэрат хеящIэхэри, къуэдыхэххэри, къэралыгъуэр зэрахъумэным кIэлъыплъхэри. Мэхъчэмэм и унафэщIым хабзэр IэщIэлът, дзэми и тепщэт. Абы муртазэч гуп и унафэ щIэтт: унэ къэс зы шу узэдарэ зы лъэс зауэлIрэ къигъэувт. Ахэр мэжджытым щыпсэун хуейт, гъэрхэр яхъумэу, нэIибымрэ чэнджэщакIуэ гупым я унафэхэмрэ ягъэзащIэу, цIыхухэр зэхуэсым е зауэм къраджэу. Абы папщIэ муртазэч шум мазэм матэ пщыкIутху, лъэсым – матипщI гуэдзу иратт, ягъэтIысахэм ирагъэпшын къуэдым щыщи ахъшэ хухагъэкIт. Iэщэр, щыгъыныр, ерыскъыр зэригъэпэщыныр езым и пщэ дэлъыжт. И шыр IэнатIэм пэрыту фIэкIуэдмэ, мэхъчэмэм и тыкуэным къыщIахти матищэ иратт. И унафэмрэ и пщIэмрэ Абэзэхэхэм, Шапсыгъхэм, Натыхъуейхэм я деж щыпхигъэкIа нэужь, нэIибым иджыри къыпэщылът и унафэм Бгырыс Шапсыгъымрэ Убых щIыналъэмрэ щIигъэувэну. Суджукърэ Убых щIыналъэмрэ я зэхуаку дэт хы ФIыцIэ Iуфэм Iут къурш сатырым и лъапэм щыпсэут псом нэхърэ нэхъ гуащIэу муслъымэныгъэм пэщIэт Шапсыгъхэр. НэIибыр Iущу бгъэдэхьат Iуэхум: икIэм дежщ абыхэм щахэхьар. Тафэтес Шапсыгъхэм ахэр гъэмахуэ псом и кIыхьагъкIэ нэIибым и жьауэ щIэувэну къытрагъэхьэну хэта пэт, фокIадэм щыщIэдзауэ щэкIуэгъуэм нэс яхэта нэIибым къыпэщIэмыувэпами, къыхуэгущIыIэхэт. Бгырысхэм я нэхъыбэм ядэтэкъым КъурIэныр ягъэкъабылу нэIибым тхьэрыIуэкIэ бгъэдэувэну, ауэ мэжджыт зыщIхэм еныкъуэкъутэкъым, Пшат-Мэзыбэ, Шапсыгъ, ТIуапсэ щаухуа мэхъчэмищри ягу трагъэхуат. НэIибыр къимыкIуэту и мурадым хуэкIуэт, сыт щыгъуи хуэдэу тэмакъкIыхьу, бэшэчу, бгырысхэм тафэтесхэм хуэдэу псынщIэу я хабзэр зэрамыхъуэжыр фIыуэ ищIэу. НэIибым жьы зэрыщIэтыр, зэрымынэпсейр, и унафэхэр захуэу, сыт щыгъуэи тхьэмыщкIэхэмрэ дэхуэхахэмрэ яфI хэлъу зэрищIым даIуэу емыса Шапсыгъхэр икIи игъэшынэт икIи итхьэкъут. ЩэкIуэгъуэм Мухьэммэд-Iэмин и Iуэхур Убыххэм я деж нэсакIэт. Абы Урысейм тхьэрыIуэкIэ бгъэдэува Джигетхэр игъэпIейтеящ. Урыс къулыкъущIэхэри гузавэт Мухьэммэд-Iэмин Абхъазми нэсынкIэ, абы щыпсэухэм языныкъуэхэм муслъымэн диныр зэрахьэт. Мин щий тхущIрэ етIуанэ гъэм бадзэуэгъуэм и тIощIрэ им Мухьэммэд-Iэмин Щамил тхыгъэкIэ хуеIуэтэж Адыгэ Шэрджэсхэмрэ Убыххэмрэ зэрахэт щIыкIэр: «Си хъыбар пщIэну ухуеймэ, Алыхьым и фIыщIэкIэ, сыпсэущ икIи сыузыншэщ. Мы щIыналъэм сыкъызэрыкIуэрэ Тхьэм и псалъэм къыхуезджэу лъэпкъхэр къызэхызокIухь. ПщIэрэ щхьэрэ нэхъ зиIэу мыбыхэм яхэтхэм сыт я гупсысэ жыпIэмэ, абыхэм ящыщ куэд уэ пхуэпэжщ икIи сэлам гуапэ къуахыж, уи щIыхьым зиIэту гузэвэгъуэ псоми Тхьэм ущихъумэну пхуелъэIуу… ЛъэIушхуэ пхузиIэщ: тIэрикъэт щIэныгъэм хэзыщIыкI дэIэпыкъуэгъу дыхуэныкъуэщ; Iэмал имыIэу зы щихъ-муршидрэ зы къадырэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, мыбы щыIэ хьалимхэмрэ еджакIуэхэмрэ динымрэ шэрихьэт хабзэмрэ хуезыгъэджэн яхурикъукъым. Иджыри нэIибитI-щырэ дагъыстэн мурид щэщI хуэдизрэ дыхуейщ: щIыналъэр инщи, зыхуэбунэтI нэмысыр хьэлу зыхэлъ цIыхухэр мащIэмэ, узыхущIэкъу щэныр къыпхуегъащтэкъым. Сэ сызэризакъуэм къыхэкIыу, схузыфIэкIыр мащIэщ. Дауи, уи закъуэ къыпхузэщIэубыдэн къызэрыгуэкI къуажэдэсхэр яхэмыту, цIыху щхьэхуитхэр унагъуэ минищэ щрикъу лъэпкъыр. СызыщIэлъэIу цIыхухэр къэкIуамэ, си Iуэхури нэхъ ефIэкIуэнут, джаурхэри гугъу ехьынут. Арыншэу зы шхыIэн закъуэ зиIэ факъырэм срещхьщ, и зы быным шхыIэныр щытрипIэкIэ адрейм къытримыхыу мыхъуу. Мис апхуэдэ щытыкIэщ сызэрытыр: зыщIыпIэ сынос щыжысIэм, си щIыб къызэрызгъазэу псори зэтокъутэж. Пэжщ, мы лъэпкъхэм цIыху хъарзынэхэр яхэтщ, щапхъэу пхуэгъэувыну, ауэ ахэр мащIэщи, унафэм щIэту емыса цIыхубэм къахэщыххэкъым. НэIибу езыхэм ящыщ гуэрхэр щхьэ ящхьэщомыгъэувэрэ жыпIэнкIи хъунщ. АрщхьэкIэ хуиту псэууэ еса цIыху IэубыдыпIэншэхэм ахэр благъагърэ ныбжьэгъугъэкIэ япыщIауэ щытынущи, дызэрыщыгугъым тхунэгъэсыну Iэмал щыIэкъым. Ахэр къыщыщхьэпэнур хабзэщIэ пыухыкIам зэкъуигъэува нэужь, Iуэхур щызэтеувэпа щIыпIэхэрщ. Мыбы щыпсэухэр уэ укъэзыухъуреихь лъэпкъхэм куэдкIэ къащхьэщокI». «Езыр зэрымыадыгэм, дагъыстэным зэрыщыщым щхьэкIэ къэмынэу, нэIибым – Щамил и къуэдзэм е и лIыкIуэм – мы лъэпкъ зэкъуэхуахэм я гупсысэм увыпIэшхуэ щиубыдащ. Iислъам диныр и тегъэщIапIэу абы къехъулIащ Къэфкъаз лъэпкъхэр зэкъуигъэувэныр, - етх инджылыз пэрыт газет «Таймс»-м мин щий тхущIрэ плIы гъэм. – Iуэху кърихьэжьэр Щамил и цIэм ирипхыу, Эмин-бей лъэпкъ псори къызэхикIухьурэ я тхьэ нэпцIхэр езы бегъымбар лъапIэм и тегушхуэкIэкIэ игъэсащ. Абы мэжджытхэмрэ еджапIэхэмрэ иухуэт, лъэпкъ зэбгъэдэкIуэтахэм къагуригъаIуэт зэкъуэтыныгъэм фIэкIа хэкIыпIэ зэрамыIэр, а зэкъуэтыныгъэмкIэи Мухьэммэд лъапIэм къихьа диным фIэкIа зыщыгугъын зэрыщымыIэри я фIэщ ищIыфт». Мин щий плIыщIрэ бгъуы-тхущI гъэхэм я щIымахуэр Мухьэммэд-Iэмин Убых щIыналъэм зы мэхъчэмэ щиухуэным тригъэкIуэдащ. Ахэри нэIибым щIыIэ-щIыIэу къыпежьат, бгырыс Шапсыгъхэм ещхьу, ауэ Убыххэм ялъагъуакIэт нэIибым Шэрджэсейр зэрыщыту зэрителъхьэри, къыпэщIэувэну тегушхуахэкъым. «И IэкIуэлъэкIуагъымрэ Iэзагъымрэ я фIыгъэкIэ Мухьэммэд-Iэмин иджыри къэс езым ипэ итахэми, Тыркухэми, Урысхэми яхузэфIэмыкIар къехъулIат, - етх Лапинскэм. – Абазэхэр зэрыщыIэ лъандэрэ япэ дыдэ Шэрджэсейр зы унафэр нэгъэсауэ щызэблах Iэхьэ зыбжанэу яугуэшат. А Iуэху гугъур илъэс щэщI фIэкIа иримыкъуа щIалэм и закъуэу зэфIигъэкIат, здэщыIэри хамэ щIыналъэу, дэIэпыкъуэгъуи имыIэу, Дагъыстэным къызэрикIри илъэсищ фIэкIа мыхъуауэ. Мэхъчэмэ пщыкIущ ирищIыкIа хэгъуэгум мэхьэнэшхуэ зиIэ унафэщI IэнатIэхэр езы нэIибым дзыхь зыхуищI цIыху жыIэдаIуэхэм, къыхуэпэжхэм щаIыгът, шурэ лъэсу муртазэч миным щIигъу Мухьэммэд-Iэмин зы псалъэ къыжьэдэкIмэ зрачыну хьэзыру, и унафэхэр пхагъэкIт». НэIибым зэрихьэ Iуэхур ягу дэхьэ дэмыхьэм емылъытауэ, абы и цIыху щIыкIэм жагъуэгъури, телъхьэри, уеблэмэ Урысейри Къэфкъазри къызыфIэмыIуэхущэри щхьэхуимыту зэрыдихьэхыр гукъэкIыж куэдым къыхощ. Мин щий тхущIрэ плIы гъэм Константинополь ираджа нэIибыр Тырку сулътIаным и лIыкIуэ МустIэфа-пащэрэ абы и шугъусэ Тырку майор Уэсмэн-бейрэ ядэщIыгъуу гъуэгу теуват. «Маршалым (МустIэфа-пащэм) укъыфIэкIмэ, нэ псори зытеубыдар Щамил и лIыкIуэ Мухьэммэд-Iэмин нэIибу цIыху телъыджэрт, - етхыж Уэсмэн-бей мин щий тхущIрэ тху гъэм. - Бгырыс муслъымэнхэм къызэдащта дыкIэм тет цей хужьырт абы щыгъыну зэрихьэр; и адыгэ пыIэм чэсей хужь ешыхьэкIат. АрщхьэкIэ апхуэдэ шыфэлIыфэ къызэрыкIуэм Тхьэр фIы куэдкIэ зыхуэупса нэрыбгэ къыкъуэщт. Зи гугъу тщIы лъэхъэнэм Мухьэммэд-Iэминым и къару илъыгъуэт, илъэс плIыщIрэ ирэ хъуми арат ар а зэманым. Лъагэрэ Iэчлъэчу зэрыщытым абы и нэкIу зэхэлъыкIэм Цезарь Юлий и теплъэр уигу къигъэкIыжу зыгуэр хэлът, тIэкIу нэхъ пхъашафэ къыщIэлъадэу. И нэхэмрэ и Iупэхэмрэ и хьэлым и сурэт IупщIт. ПхыплъыкIэ куу зыхуэбгъэфащэ и къашыргъэнэхэр лыдт. Ауэ быдэу зэтекъуза и IупитIым ар зэримыкIуэтынури къэзыгъэувыIэн шыни гугъуехьи зэрыщымыIэри уи фIэщ ящIт. Сурэтыр нэгъэса хъун папщIэ, и гугъу дымыщIу хъунукъым мы цIыху къызэрымыкIуэр егъэлеяуэ зэрыщымым: къаруушхуэ ухуейт абы зы псалъэ закъуэ къыжьэдэпшын папщIэ. И плъэкIэми а шыIэныгъэ дыдэр хэлът: зэпсалъэм и нэр зэи триубыдэтэкъым: ихъуреягъым цIыхухэр щызэрызехьэт, щыIэуэлъауэт, ауэ щыхъукIэ, езым зэджэ, е зэджэ хуэдэу зищI, тхылъым и нэр къытригъэкIтэкъым. БзиплI е тху ищIэ пэтми, псэлъэн хуей хъумэ, сыт щыгъуи тэрмэш къищтэт. Ауэ зэрызигъэхъейуэ, псоми зихъуэжт. Абдежым Мухьэммэд-Iэмин и нэщыпхъуэр зытридзти, къэпцIыхуну, игу илъыр къэпщIэну и чэзу къэст. ХэкIыпIэу плъагъур зыт: е узэмыплъэкIыжу уедэIуэн, е укIуэдын. Ди зэманым нэхъ цIыхушхуэ дыдэу хэтахэм яз Мухьэммэд-Iэмин хуэдэ нэрыбгэ щэджащэ фэзгъэцIыхун мурадкIэщ абы и сурэтыр фи нэгу къыщIэзгъэхьэну сыщIыхэтыр. Щыгъуазэр мащIэми, и цIэрыIуагъкIэ абы хуэдэу гулъытэрэ пщIэ хэIэтыкIарэ къэзылэжьа куэд щыIакъым. Адыгэ щIыналъэм Щамил игъэкIуа и нэIибым и IуэхущIафэхэр гъуэзэджэт, къалэн къытехуамрэ ар зэригъэзэщIа щIыкIэмрэ IуэрыIуатэм хуэдэу телъыджэу. Мухьэммэд-Iэмин щихъ Щамил и гъэсэнт. Мин щий плIыщI гъэм джаурхэмрэ Мэзкуу къикIахэмрэ къэзэуаткIэ бгъэдигъэувэн папщIэ, Iимамым Шэшэным иригъэкIыу Адыгэхэм я деж игъэкIуа нэIибыр мэхьэнэшхуэ зиIэ а Iуэху шынагъуэм щыпэрыхьам, зыри IэщIэлътэкъым; Iэщэи, ахъшэи, дэIэпыкъуэгъуи иIэтэкъым. И къарумрэ зытет гъуэгум шэч къызэрытримыхьэмрэ фIэкIа зыщыгугъын имыIэу, ар и закъуэ дыдэу яхэлъэдащ щхьэрыутыпщу псэууэ еса лъэпкъ псынщIэхэм, и зы Iэм – КъурIэн, адрейм – баш IэщIэлъу. Диным итхьэкъуа а щхьэмыгъазэм и лIыгъэр куэдкIэ ефIэкIт Кошут, Гарибальди, Джеферсон-Дэвис хуэдэхэу мылъкушхуэрэ зауэлI гупышхуэрэ я щIыб къыдэту фIэкIа емыжьэхэм. Ахэр цIэрыIуэ щыхъу утыкум дэтхэнэ зы Iуэху цIыкIуми дуней псом джэрпэджэж щигъуэту щытамэ, къэфкъазыбгхэм дэубыда Щамил и нэIиб тхьэмыщкIэм жиIэр и пащхьэм итхэм захригъэхыф къудейт. Сурэттех, корреспондент щхьэхуэхэм гукъыдэж яIа закъуэмэ, ар щIэх дыдэу цIэрыIуэи хъунут, мыкIуэдыжын гъащIэи игъуэтынут. АрщхьэкIэ ар къэхъуакъым. Мухьэммэд-Iэмин ящыгъупщэжащ. Ауэ щыхъукIэ, Адыгэхэр и унафэм щIигъэувыну щахэхьам, абы баш фIэкIа IэщIэлъакъым. ИтIани зэман мащIэм гуп лъэщ ихъуреягъкIэ къызэригъэпэщри къыпэщIэувэну тегушхуа псори иригъэкIуэтыфащ, илъэс зыбжанэкIэи зи унафэм къэгъазэ имыIэ тепщэу щытащ. Апхуэдэу Iуэхур зэхъулIэфынур къыдалъхуа Iэзагъым лIыгъэ мыланджэ зыхутралъхьэжа цIыхурщ». «Ди Iуэхур зыIутыр фщIэну фыхуеймэ, хъэбар фэзгъэщIэну си гуапэщ щихъ Щамил си пщэ къыдилъхьа къалэнхэр Тхьэр си щIэгъэкъуэну згъэзэщIэн папщIэ, Дагъыстэным сыкъикIыу Шэрджэсейм сыкъызэрыкIуар, - хуетх Мухьэммэд-Iэмин Шэрджэсейм и лIыкIуэу Тыркум щыIэ Ахьмэд-ага мин щий тхущIрэ и гъэм. - Пщэрылъ къысщищIахэр Шэрджэс лъэпкъым шэрихьэт лъапIэр къабыл езгъэщIын, КъурIэнкIэ тхьэ яIуэу, абы тету псэуным хуэзунэтIын, сулътIаным и унафэ ягъэзэщIэным къыхуезджэнырщ. ТхьэрыIуэкIэ зэбгъэдэува нэужь, абыхэм джатэкIэ паупщIам хуэдэу Урысхэм яфIын щагъэтри адэкIэ зэкъуэтыну мурад ящIащ. Абы иужькIэ быдапIэхэр дыухуащ: Такут деж зы быдапIэрэ мэжджытрэ, диным хуеджэхэм я еджапIэ хэту. Иджыри Бэгъэгъ, Бишут, Бшекапсе, Абын, Антхыр, Натыхъуай быдапIэ зырыз. Исмагьил ефэнды къадыуэ, Хьэжы Заде Мухьэммэд ефэнды – муфтийуэ лэжьэну улахуэ яхуэдгъэуври еджакIуэхэм яхуэдгъэкIуащ. СулътIаным къиутIыпща мылъкумрэ щихъ Щамил и тхьэлъэIухэмрэ я фIыгъэщ ахэр Тхьэ лъапIэм къыщIыдигъэхъулIар. СулътIаным узэринэIуасэм сыщыгъуазэщи аращ иджыри сыщIытегушхуэр ди быдапIэхэр Iэщэ, топ, ди еджапIэхэр - тхылъ зэрыхуэныкъуэр ныплъэзгъэIэсыну». Мухьэммэд-Iэмин урыс дзэзешэхэр егъэгузавэ «ПсыжьадрыщI щIыналъэм и мызакъуэу, Мухьэммэд-Iэмин Къэбэрдейми мурид хабзэм зыщригъэужьыну пщэрылъ къыщищIт Щамил, - щыжеIэ Бушуев Сергей «Адыгей тхыдэм техуа очеркхэм». - Мин щий тхущI гъэм абыхэм я мурадт дагъыстэнхэмрэ Адыгэхэмрэ Къэбэрдейм щызэгуагъэхьэжыну. Iимамышхуэмрэ нэIибымрэ я тхыгъэхэр лIыкIуэхэм зэIэпахт. Щамил итхым къыхощ и унафэр зэрыткIийри нэIибым хузыфIэкIахэмкIэ зэрыарэзыри. Псалъэм папщIэ, Мухьэммэд-Iэмин хуригъэхьа тхыгъэхэм я зым абы щыжеIэ: «Си гуапэ дыдэ хъуащ си унафэхэр нэгъэсауэ зэрыбгъэзащIэр. Мы тхыгъэр ныпIэрыхьа нэужь, хьэзыру щыт икIи унафэм зыри зэхъуэкIыныгъэ хыумылъхьэу гъэзащIэ». Мин щий тхущIрэ плIы гъэм, жэпуэгъуэм и тIощIрэ бгъум Къэфкъаз гъунапкъэм и ижьырабгъу Iэхьэм и унафэщI генерал-майор Евдокимов Николай и нэхъыщхьэ Козловский Викентий хуетх: «Мухьэммэд-Iэмин къигъэхъухэр кIуэ пэтми нэхъ шынагъуэ мэхъу. Абы псыжьадрыщI лъэпкъ псори езым и лъэныкъуэ ищIащ, мы махуэхэм Шапсыгъхэм я нэхъыжьхэр тхьэрыIуэкIэ зыбгъэдигъэуващ. Урысей тепщэгъуэм хуэжыIэщIэ лъэпкъхэм я гугъу пщIымэ, Мухьэммэд-Iэмин и хьэгъэщагъэхэм абыхэм я дежи хьэтырышхуэ щегъуэт. Хьэтыкъуейхэм унащхьэчэзууэ дыжьын сомищ ятыну арэзы хъуахэщ здыщыпсэу щIыпIэхэм ирамыгъэIэпхъукIын папщIэ. Хьэтыкъуеипщ Чыркъуэжь Жэнджэрий Мухьэммэд-Iэмин ириджати, урыс унафэщIхэм щышынэри езыр мыкIуэу и уэркъ щауэгъусэр игъэкIуащ. КIэмыргуейхэр замыбзыщIыжу бий къытхуэхъуахэщ. Махуэ къэс абыхэм лъэпкъ къыдэныкъуэкъухэм ящыщхэр къахохьэ, дэ дыкъапщтэмэ, ди тIасхъэщIэххэр КIэмыргуей къуажэхэм дэхьэну мэшынэхэри я зы хъэбари къытIэрыхьэжкъым. Псалъэм папщIэ, гъуэгу зырызкIэ сыутIыпща тIасхъэщIэхиплIым зыри яхузыфIэмыкIыу, ерагъмыгъуейкIэ мэзым зыщагъэпщкIури, зым и лъакъуэр уIэгъэ хъуауэ къагъэзэжащ. Къэбэрдейхэмрэ Беслъэнейхэмри уазэрыщыгугъын щыIэкъым, уеблэмэ беслъэнеипщхэмрэ я нэхъыжьхэмрэ Iэмал зэрагъуэту Лабэ адрыщI Iэпхъуэну зэрыхьэзырхэмкIэ куэд щIауэ Мухьэммэд-Iэмин тхьэ хуаIуауэ жаIэ. Абы къыхэкIыу накъыгъэм и плIым ятеуэу Беслъэнейхэм къатриха Iэщыр яритыжащ. Езым ищIэхэм теухуауэ бзэгу къытхуамыхьын папщIэ, нэIибым Лабэ деж плъырыпIэхэр ирикIуэу къыIуигъэуващ. Абыхэм апхуэдизкIэ жану я къалэныр ягъэзащIэри, ищхьэкIэ зи гугъу сщIа тIасхъэщIэххэм нэмыщI иджыри плIы лъэныкъуитIкIэ сыунэтIат Лабэ IуащхьэхэмкIэи, гупитIми апхуэдэ дыдэу пщIэншэу къагъэзэжащ: Едыджей къуажэм щаубыдаитIыр Лабэ нэс къахуа нэужь, зыр яукIри бийм къыIэщIэнащ, адрейм и Iэр уIэгъэу къэсыжащ; мыдреитIым языр уIэгъэ хьэлъэ хъури и ныбжьэгъум мэзым щыхыфидзати, ар къезгъэшэжын папщIэ къэзакъхэр Лабэ адрыщI згъэкIуэн хуей хъуащ. Сытми, тIасхъэщIэх гупих сутIыпщахэм ящыщу тIуращ зыхузыфIэкIар хы ФIыцIэ Iуфэ плъырыпIэм пхыкIыу, Бжьэдыгъухэм яхэхьэу хъэбар гуэр къысхуахьын, КIэмыргуейхэмрэ Беслъэнейхэмрэ къытхуахь хъэбарыпцIхэм емыщхьу. А псом къыхэкIыу, зи щIыхьыр ин, гу лъыптэну сыщогугъ Мухьэммэд-Iэмин и мурад дэркIэ мэхьэнэшхуэ зиIэхэм икIэщIыпIэкIэ Iэмал гуэр къыхуэдмыгъуэту зэрымыхъунум. Бгырысхэм я деж абы щигъуэта пщIэм и фIыгъэкIэ абы гупышхуэхэр зэгуигъэхьэурэ езыр зыхуей лъэныкъуэмкIэ иунэтIыныр къохъулIэ. Куэд щIауэ Мухьэммэд-Iэмин тхьэрыIуэкIэ бгъэдэувауэ жыхуаIэхэм я Iуэху зыIутыр ди гъунапкъэр абрагъуэщи къэпщIэну Iэмал закъуэи щыIэкъым. Аращи, ди станицэхэр тхъумэжын папщIэ, сытым дежи хьэзыру дыщымыту хъунукъым, армырами мащIэ ди къарухэр дыугуэшу... Хамэкъэрал къикIхэми хъыбар ягъэIу Мухьэммэд-Iэмин езым гуэхьэхэм ахъшэ яритурэ Iэщэ къаригъащтэу. ЦIыхухэм я гупсысэкIэм апхуэдизкIэ зихъуэжащи, дэ къытпыщIауэ гурыщхъуэ хуащIмэ, къуэшым къуэшыр еукIыж, къуэр адэм пэщIоувэ. ТIасхъэщIэх тхуэхъухэр бгырысхэм яукI. Сэ сыкъэтыху Щыхьгуащэ и щIыбым Лабэ гъунапкъэм и унафэщIым иутIыпща тIасхъэщIэхитI Куржы Екъубрэ Басырбий Едыджрэ яукIащ. Лабэ адрыщI сутIыпща тIасхъэщIэхищым ардыдэр къащыщIащ: зыр яукIащ, адрейр уIэгъэ хьэлъэу бгырысхэм яубыдащ и ныбжьэгъур и гъусэу. Апхуэдэ щIыкIэу Iуэхур екIуэкIмэ, дэ икъукIэ къыдэхьэлъэкIынущ хъэбар зыIэрыдгъэхьэн, сыт щхьэкIэ жыпэмIэ, мы илъэсым тIасхъэщIэхий хэкIуэдащ. Хъыбар димыIэми, шынагъуэр къыздикIыну лъэныкъуэр къытхуэмыщIэу дыкъэнэнущ. Махуищ хъуауэ Мухьэммэд-Iэмин зекIуэ ежьэнухэр зэхуешэс. А зэхуэсым Абэзэхэ бгырыс псори, Шапсыгъхэри, уеблэмэ Убыххэри екIуэлIэн хуейщ. Абэзэхэ ищхъэрэхэр – Вельяминовым и лагерым деж, ипщэхэм – Къэлар мэз деж, Мэхъуэшхэмрэ адрей бгырыс лъэпкъхэмрэ – Къанлыгъэкъуэ деж щызэхуэсыну унафэ къыхуащIащ. ЗекIуэ дэкIхэм гъуэмылэ, шыуан хуэдэхэр къызэдащтэну къыжраIащ. Мухьэммэд-Iэмин къэбэрдей гуэрым Щамил деж къриха тхыгъэм къахуеджэну зегъэхьэзыр. А тхылъымпIэм зэритымкIэ, Щамил Мухьэмэд-Iэмин къыхуреджэ зэман пыухыкIам тIури къызэдежьэну: Къэбэрдейр къадэIэпыкъунущ, Къэрэшейхэри зэран хъунукъым. Сэ къысIэрыхьа хъэбархэмкIэ, Мухьэммэд-Iэмин Лабэ деж щыт станицэхэм теуэну и мурадщ. Дэтхэнэ станицэрами тасхъэщIэххэм жаIэмкIэ гурыIуэгъуэкъым». Евдокимовым зи гугъу ищI зекIуэр КъуэхьэпIэ Къэфкъазымрэ КъуэкIыпIэмрэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, Щамилрэ Мухьэммэд-Iэминрэ я унафэ щIэт хэгъуэгухэм я дзэхэр Къэбэрдейм щызэгуэхьэжу урысыдзэм щыпэщIэувэну щагугъа зекIуэшхуэращ. «Мин щий тхущIрэ етхуанэ гъэм зауэлI минипщIым нэблагъэ и дзэр иришажьэу Къэрэшейм зэрыкIуар Мухьэммэд-Iэмин нэхъ IэкIуэлъакIуэ дыдэу зытегушхуа зекIуэхэм ящыщт. Абы и мурадт Къэрэшейхэр и унафэм щIигъэувэу, Къэбэрдеймрэ Осетиемрэ нэсу, Щамил и дзэм гуэхьэжыну. - дыкъыщоджэ дагъыстэн тхакIуэ Дашлай Фазил «Къэфкъаз шыфэлIыфэхэр» зыфIища и тхылъым. - Евдокимовым и зэранкIэ зекIуэм и мурадыр къемыхъулIами, абы Iимамышхуэмрэ нэIибымрэ я мурадхэр IупщIу къигъэлъагъуэт». Езы Мухьэммэд-Iэмин а къэхъукъащIэр мыпхуэдэ щIыкIэу етхыж: «Шэрджэсхэм я деж сыкъэсыжа нэужь, Псыжь и къежьапIэм деж Къэрэшейм сыщихьащ. ЦIыхухэр ди унафэ къыщIэуват, ауэ Козловскэ генералыр къэсу махуищкIэ дызэзэуа нэужь, - псори жыпIэжыну зэман куэдыIуэ ихьынущ, - Къэрэшейр тIэщIигъэкIыжри дэ Абэзэхэм дгъэзэжащ». Кърым зауэ: Шэрджэсейр къэрал щхьэхуит хъун хуейщ Мин щий тхущIрэ щы гъэм урыс пащтыхь Николай Езанэр зыхьыжа [14] Кърым зауэр къэхъеящ. Утыку илъ хъыбархэм зэраIуатэмкIэ, зауэр къэзыгъэхъеяр тырку чыристанхэм къащхьэщыж хуэдэу, Тыркур жыIэщIэ зыщIыным щIэхъуэпс урыс пащтыхьырт. НэгъуэщIущ Iуэхум зэреплъыр тырку тхакIуэ М. Сыддик Гюмюш. Абы зэрыжиIэмкIэ, зауэр къэхъеиным хэлIыфIыхьар инджылызхэрт: ахэращ урыс император Николай Езанэмрэ франджы император Наполеон Ещанэмрэ я зэхуаку къыдэзэрыхьа хъуаскIэр мафIэшхуэ зыщIари, Тыркур Iуэхум хэзылъэфари. «Муслъымэн дунейр и кIуэцIкIэи и щIыбкIэи зэтеткъутэн папщIэ, Урысеймрэ Франджымрэ ядэлэжьэн хуейщ», - къехь тхакIуэм инджылыз тIасхъэщIэххэм зэрахьэ унафэ щэхухэм я зы щапхъэ[15]. Мин щий тхущIрэ хы гъэм Урысейр ирагъэкIуэту Тыркум и щIыбагъ къыдэува европей къэрал пэрытхэм «Париж зэгурыIуэныгъэр» щыпхагъэкIым, Инджылызым къыхилъхьат Шэрджэсейр Урысейм и Iуэху хэмылъу, Тыркум къихъумэ къэрал щхьэхуит ящIыну, ауэ Франджыр арэзы хъуакъым, езы Тыркури къыхэIэбакъым. «ИужькIэ Урысеймрэ тырку-инджылыз-франджыхэмрэ зэщыIеяхэти, урыс быдапIэхэр хы Iуфэм трахыжат[16], - топсэлъыхь Кърым зауэм Мухьэммэд-Iэмини. - Сэ а зэманым Убыхым сыщыIэт Шашэ Iут быдапIэр щыIуахыжыным сежьэу. Ар къэхъуу хы гъуэгур хуит хъужа нэужь, Константинополь дыкIуащ. Варнэ дыщыблэкIым, франджыхэмрэ инджылызхэмрэ я дзэхэм быдапIэм деж щыту дахуэзати, псоми топышэхэр ягъауэурэ фIэхъус къыдахт. Сэ адыгэ шэрджэсыпщхэу блыщI си гъусэт… ИтIанэ Урысеймрэ тырку-инджылыз-франджыхэмрэ мамырыгъэ зэращIылIащ, ауэ дэ а мамырыгъэм дыхиубыдакъым». Мухьэммэд-Iэмин къэрал лIыкIуэхэр, дзэзешэхэр мымащIэу къыкIэлъыкIуэт а зэманым. ХамэIэкIэ я мурадхэм лъэIэсын папщIэ, Инджылызми, Тыркуми, Франджыми Къэфкъазым я нэ къыхуикI хъуат. Франджым Урысейм и Iуэху дэмыкI закъуэмэ, псалъэм папщIэ, хы Курытым пэIэщIэ хъумэ, арэзы хъут: Наполеон Ещанэм хуегъэхтэкъым Николай Езанэм абы пащтыхьыгъуэр хуэмыфащэу Iэрыхьауэ зэрилъытэмкIэ зыкъызэрыригъэщIар. Инджылызым и Iуэхур куэдкIэ нэхъ куут икIи ипэжыпIэкIэ а къэралращ а зэманми иджыри ди нэгу щIэкI зэрызехьэ мыуххэм фейдэ хэзыхыр. «Шэрджэсей - Индием илъ Британ мылъкур зыхъумэ щIыгъунэ», - арат фIащар мин щий щэщIрэ и гъэм Глазго Шотланд къалэм и СатуущI Зэгуэхьэныгъэм Адыгэ ныпыр зи IэдакъэщIэкI Уркварт Дэвид и щIыхькIэ щызэхэта пшыхьым щаIэта хъуэхъум. «Индиер и IэмыщIэ къинэн папщIэ, Инджылызхэм а къэралым хуэкIуэ гъуэгум тет муслъымэн къэрал псори яубыдащ, къуэшым и къуэшым зрипщыту я зэхуаку къаугъэ далъхьэхэри, а къэралхэм ящIми абыхэм ис лъэпкъхэми ябгъэдэлъ хъугъуэфIыгъуэ псори езыхэм я къэралым ягъэIэпхъуащ, - жеIэ Сыддик Гюмюш. - Iэзэу Уэсмэн къэралыгъуэм и зекIуэкIэм кIэлъыплъхэурэ, абыхэм политикэ джэгу защIэкIэ Тыркухэм Урысейм зыпэщIрагъасэри зауэ къэхъеящ». Европей къэралхэр «шэрджэс хахуэхэм» къащхьэщыжи хуэдэт, ауэ гупыжхэм я нэхъыбэр хъуэхъу купщIэншэмрэ зытемытыжыну псалъэ гъущэхэмрэ хэкIуэдэжт. «Къэфкъаз Iуэхур иджыри бадзэуэгъуэм зэфIэкIат, - щетх урыс тхыдэтх Тарле Евгений «Кърым зауэ» тхылъым. – Щамил урысхэр Къэфкъаз Ипщэм ирихужмэ зи гуапэ хъуну инджылыз тепщэгъуэм а къалэн мытыншыр я дамэгъу Франджыхэмрэ Тыркухэмрэ я пщэ дилъхьэм нэхъ къищтэт… Къэфкъазыр куэд щIауэ зыщагъэгугъ пэт, Инджылызхэр пIащIэтэкъым а щIыналъэм ихьэну, бадзэуэгъуэм и кIэмрэ шыщхьэуIум и пэмрэ къызэрыхалъхьам тету. Бадзэуэгъуэм и тIощIрытхум Щамил и Iэхьлы Наиб-пащэ[17] зи унафэщI лIыкIуэ гуп Варнэ кIуэхэри Сент-Арно маршалымрэ лорд Рагланрэ зыхуагъэзахэщ. ЛIыкIуэхэр нэрыбгэ щэ ныкъуэ хъунт. Сент-Арно абыхэм я щIыхькIэ дзэр иригъэувыкIри къуэкIыпIэ Iэрмэм щытхъун папщIэ псалъэ щысхьакъым. Езы бгырыс шухэми Франджыхэр ятхьэкъуат я шыфэлIыфэ екIумрэ шы тесыкIэмкIэ. Ауэ псалъэ гуапэ зэрызэIэпахам Iуэхур фIэкIакъым. А лIыкIуэхэм ягъэзэжа нэужь, Щамил къыгурыIуэпа къыщIэкIынщ адэкIэ дамэгъухэм уащыгугъ зэрымыхъунур. Сент-Арно и штабым махуэ зыбжанэкIэ и фIэщу къэфкъаз бгырысхэм ядэIэпыкъуа зэрыхъунум щытепсэлъыхьащ. Уеблэмэ бадзэуэгъуэм и тIощIрэ блым, шэрджэс лIыкIуэхэр Варнэ зэрыкIуэрэ махуитI щрикъум, маршалым Париж тхыгъэ иригъэхьат: «Iэнэпэрэ Суджукъ-къалэрэ зэуэ сытеуэу къысхуэубыдынущ. Хы Iуфэмрэ плъырыпIэхэмрэ зэрагъэпэщыну яжесIащ: тынш дыдэ хъунущ Севастополь папщIэ дгъэхьэзыра къарухэр мыбдеж къыщызгъэщхьэпэмэ. А Iуэхум нэхъри политикэ мэхьэнэ щIиIэр Щамил и дэIэпыкъуэгъу НэIиб-пащэ шэрджэсыпщ щэ ныкъуэ и гъусэу иджыпсту Варнэ щыIэщи аращ. Абы къызжиIа къудейщ си Iэрмэр здэщIыгъуу Шэрджэсейм сыщитIысыкIмэ, лъэпкъ псори къызэщIиIэтэу Iэщэ зыIыгъ зауэлI мин плIыщI къызэрызгуигъэхьэнур, Урысхэм икIуэтыжыпIэ ямыIэу зэтраукIэн папщIэ. Ар егъэлеяуэ узыIэпызышэ Iуэхущ». Маршалым и гупыжыр гупыжу къэнащ. Инджылызхэм къыхэIэбэну загъэхьэзырыххэтэкъым. Сент-Арно бгырыс лъэпкъхэр Щамил едэIуэну и фIэщ хъутэкъым. Арати, лIыкIуэхэм пщIэншэу ягъэзэжащ… Маршалым фIыуэ ищIэт инджылызхэм Къэжэрымрэ Индиемрэ яхуихъумэн папщIэ франджылъыр игъажэу, император Наполеон Ещанэм Урысейм Къэфкъазыр къахутрихыжын Iуэху зэрызэримыхуэр». «Париж мамырыгъэр» хьэзыр зэрыхъуу, Кърым зауэм щыпуда урысыдзэм и напэр Къэфкъазым щитхьэщIыжыну хуитыныгъэрэ гукъыдэжрэ игъуэтащ. Къэфкъазыр къэралыгъуэ щхьэхуиту Урысейм гуэту къанэмэ зыфIэигъуэ, а зэманым Къэфкъазтету щыта Муравьев Николай трагъэкIри, Щамил зыIэщIилъхьэфыну лIыгъэ зыдэзылъагъуж Барятинский Александр абы и пIэ ирагъэуващ. Ар Шэрджэсейм гуащIэу зэрызыщыхащIар къыхощ Мухьэммэд-Iэмин и Iимамым хуригъэхь тхыгъэм: «Псом нэхъыщхьэу сызэролъэIур дэIэпыкъуэгъу къысхуэбгъэкIуэнырщ, гъуэгур езыгъэлъагъун къыкъуэкIмэ, бжьыхьэ дызыхуэкIуэр къимыхьэу къежьэн хуэдэу, - хуетх нэIибым Iимамым, хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, мин щий тхущIрэ хы гъэм. - Ар мыхъунумэ, тIум язымкIэ хуит сыкъэпщIыну сынолъэIу: е мы щIыналъэм сыщыIэн пщэрылъыр сщхьэщыпхыну, е урыс тепщэгъуэм и унафэм сыщIэувэну хуит сыкъэпщIыну. Дауэ мыхъуми, си тхыгъэр ныпIэрыхьэмэ, жэуап пыухыкIа къызэт». ЩытыкIэ гугъу зэритам нэхъ убгъуауэ нэIибыр щытопсэлъыхь Казембек папщIэ итха гукъэкIыжхэм: «Ди Iуэхур зыIутрати, дэIэпыкъуэгъу зыри щыдимыIэм, Урысхэм мамырыгъэ етщIылIэныр нэхъ захуагъэт, си мурадри арат. Ауэ мы щIыналъэм (Шэрджэсейм) сыкъэзыгъэкIуар щихъ Щамилт, ар иджыри Урысхэм езауэти, абы ипэ сихуэу абыхэм мамырыгъэ есщIылIэну сыукIытащ, епцIыжакIуэ сымыхъун папщIэ, апхуэдэ щIыкIэуи иджыри илъэсищкIэ дызэуащ». Захуагъэм тет цIыхушхуэхэм дэтхэнэ бийми япэщIигъэувыр къэгъэпцIэгъуафIэхэмрэ епцIыжакIуэхэмрэщ. Щамил хуагъуэта амалыр Мухьэммэд-Iэмин дежи щыпхыкIащ. «Бгырысхэм я Iуэхухэм хамэ къэралхэр Адрианополь зэгурыIуэныгъэр зэрызэфIэкIыу къыхэпщэфIыхьын щIадзат, - щыжеIэ министр Чернышёв Александр «Къэфкъаз бгырысхэр гъэIэса зэрыхъун щIыкIэм теухуауэ» тхыгъэм. - ЯпэщIыкIэ ар чэнджэщрэ дэшэхын IуэхукIэ зэфIэкIт, Тыркум бгырысхэм и Iуэху яхэмылъыжу зэрыжиIамкIэ лей къатехьа хуэдэу я фIэщ ящIыну хэту. Абы папщIэ ди щIыпIэхэм къытеуэурэ дызэрахъунщIам щхьэкIэ къыдэкъуэншэкIа, иужькIэ Константинополь Iэпхъуэжа бгырысхэр къагъэщхьэпащ. Абыхэм ящыщт япэрей зэпыщIэныгъэхэм утыку къриша шэрджэс уэркъ Сэфэр-бей. Абырэ и ныбжьэгъухэмрэ Константинополь щыIэ инджылыз посольствэм я нэфI къыщыхуат, хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, абыхэм трагъэгушхуэурэщ ящIа псори зэращIар». Дызэрыт зэманым утыку кърахьэ тхыдэ лэжьыгъэхэми, тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэми ущрохьэлIэ Занокъуэм и цIэм. Зым ар Мухьэммэд-Iэмин гуэту зэуа пашэу къыфIощI, адрейм, Адыгэу щымыта нэIибым нэхърэ нэхъ фIэхэкIулIщ. Занокъуэмрэ Мухьэммэд-Iэминрэ зэрыщытари зэрызэхущытари уи нэгу къызэрыщIэбгъэхьэн хуейр, дауи, тIури зыцIыхуахэм я псалъэкIэщ. Абыхэм язщ нэIибым уэчыл нэс хуэхъужа Лапинский Теофил: Лыхь дзэзешэм псалъэм щымысхьу уи нэгу къыщIегъэувэ езыр дэзыхьэх Мухьэммэд-Iэмин и пэжагъри къэухьышхуэ зэримыIэм къыхэкIыу, Урысейми, Тыркуми, Инджылызми я фейдэкIэ къэщхьэпа Занокъуэм и цIыху щIыкIэри. Езы Мухьэммэд-Iэмин етхыж: «А зэманым Сэфэр-пащэ жаIэри Шапсыгъым зыгуэр къыщыхъеящ Шэрджэсейм сритепщэщ жиIэу къызэныкъуэкъуу. Сыпэувыну дзэр есшэжьат, ауэ Шэрджэсхэм ящыщ цIыху Iущхэм унафэ ящIащ псом нэхърэ нэхъыфIыр тIури Константинополь сулътIаным деж дыкIуэу, абы къыхихыр тепщэу къэнэну. ТIури абыкIэ арэзы дыхъури ди псалъэр тхьэрыIуэкIэ дгъэбыдэжащ. Ежьэгъуэр хеящIэхэм къыхахат: сэ жысIам сытетыжу а зэманыр къыщысым Константинополь сыкIуащ. Сэфэр-пащэр и тхьэрыIуэм епцIыжри нэкIуакъым. Константинополь жэуап пыухыкIа къыщызатакъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Тыркум Урысейм мамырыгъэ ирищIылIати, ди Iуэхум къыхэIэбэжыфынутэкъым…» ЕхьэкI-нехьэкI хэмылъыу, и еплъыкIэр къегъэнаIуэ Уэсмэн-бей: «Тыркур адыгэхэм я гъащIэм зэрыхэIэбэ щIыкIэр фэрыщIыгъэмрэ псалъэм темытыжынымрэ тещIыхьат. ЗэрыжиIэм ещхьу, демократ зэхэтыкIэ нэсым зригъэужьын папщIэ Мухьэммэд лIыкIуэ лъапIэм лъэпкъхэр зэрызэхуигъадэм и фIэщу хуэплъэтэмэ, абы пщыжьхэр иригъэкIуэту къызэрыгуэкI цIыхубэм гъуэгу иритын хуейуэ арат. Ауэ Тыркум аракъым ищIар. Абы тепщэ пэрытхэр игъэгушхуэурэ и къару къызэрихькIэ демократием еныкъуэкъуащ. А политикэ акъылыншэм ипкъ иткIэ Сэфэр-бей, Къарэбатыр, Хьэжы Джырандыкъуэ сымэ ахъшэ ярит, езым зыфIигъэлIыкIхэурэ, ар Мухьэммэд-Iэмин, - Мухьэммэд лIыкIуэ лъапэм и диным и уэчылу лъэпкъым къыщхьэщыжыфын пашэ закъуэм, - еныкъуэкъут. Константинополь щызекIуэ гупсысэкIэр апхуэдизкIэ утхъуати, Къэфкъазым щызэрахьэ лейр ялъагъужтэкъым икIи лъэпкъ псом и гъащIэм хьэпшып нэхъ мэхьэнэншэ дыдэм хуэдэу ириджэгухэт. Апхуэдэу илъэситI (мин щий тхущIрэ щы-тхущIрэ плIы гъэхэр) игъэкIуэда нэужь, Тыркур и фIэщу адыгэ Iуэхум иужь ихьащ. Ар и мурадым лъэIэсамэ, лъэпкъ абрагъуэм и гъащIэри абы и щхьэхуитыныгъэри нэгъуэщI гъуэгу теувэнут. Шэч хэмылъу, щхьэхуитыныгъэр нэкъыфIэщI гуэру къызэрынэнур хьэкът, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Тыркум адыгэхэм я хабзэ дахэм щхьэкIэ пхуищIэнур мащIэт, абы къилъыхъуэр езым и фейдэт. Шэрджэсейр къызэфIагъэувэжыфрэ Тыркур абы тепщэ хуэдэу щхьэщыувамэ, аслъэным къуентхъым и ныкъуэр къыIэрыхьэнут. Ауэ Шэрджэсейр къызэфIагъэувэжын мурадкIэ япэ лъэбакъуэу ячар сыт хуэдэ жыпIэмэ, къэралыр лъэныкъуитI иращIыкIат, дэтхэнэ зыри Тыркухэм я деж пщIэ нэхъ щызиIэ пашитIым я унафэм щIагъэувэу. Зыр Сэфэр-бейт - акъылым хуэхей лIы кIыхь; адрейр – Щамил и лIыкIуэ цIэрыIуэ Мухьэммэд-Iэминт. Константинополь щыуагъэр щалъагъутэкъым. НэгъуэщI мыхъуми, щхьэхуиту и Iуэху зрихуэжын хуэдэу, зыр къыхахыу адрейр ирагъэкIуэтэкIын и пIэкIэ, Тыркум тIури игъэгушхуэт, тIуми тыгъэ яхуищIт. «Фызэзэуэжыну Iэмал фызот» жыпIэм хуэдэт ар. ЕбгъэфIэкIуэн мурад узыхуиIэ къэралым апхуэдэ политикэ щхьэхуещэ щебгъэкIуэкIыным и къуаншагъэр езы сулътIаным и министрхэми къагурыIуэжри къэгузэвэжахэщ, шэч ящIу. Арати, хэкIыпIэ къафIэщу, тIури зы унафэм щIагъэувэну я щхьэм къихьащ. Апхуэдэ къулыкъушхуэ зратари «Шэрджэсхэмрэ Батум Iэрмэмрэ я маршал» зыфIаща, «нэкIу плъыжькIэ» зэджэ МустIэфа-пащэрат, сэ абы шугъусэу сыбгъэдэтт. Ар зэрытрагъэувар апхуэдизкIэ къемызэгът икIи тепщэгъуэм ифI зыхэлъым блэIэбыкI унафэти, дуней утыкум щекIуэкI Iуэхухэм я щIыбагъкIэ щызекIуэр цIыхубэм езгъэлъагъун папщIэщ мыр щIэстхыр». «Щамил Iистамбыл зэрыщыIар» фIэщыгъэм щIэту, ищхьэкIэ зи гугъу тщIа Гамзаев Магомед и тхылъым къыщеIуэтэж Iимамыр Урысейм икIыну хуит ящIа нэужь, ар тырку сулътIаным зэрыхуэзар: «Кхъухьыр хы Iуфэм щынэсым, гъуэгурыкIуэхэм сулътIаным и кхъуафэжьей пщыкIуплI къапежьат. Зэрыкъалэу Iимамыр ирагъэблагъэ жыпIэнт. Щихъ Щамилрэ абы и унагъуэмрэ япэ щIыкIэ кхъуафэжьейхэм ирагъэтIысхьащ. ИужькIэ псори езы Тырку сулътIаным и кхъухьым ису Долмабахче сэрейм яшахэщ. ХьэщIэ лъапIэхэр иригъэблэгъэу, Абдулгьэзиз сулътIаныр и блыгущIэтхэр къыбгъурыту сэрейм къыщIэкIат. Гу лъытапхъэщ Тырку сулътIанхэм хьэщIэ нэхъ лъагэ дыдэхэр щрагъэблагъэкIи сэрейм къыщIэкIын зэрамыхабзэр. Тепщэр а хабзэм япэ дыдэ ебакъуэу арат, и щхьэкIэ хьэщIэм пщIэ нэгъэса хуищIыным хущIэкъуу. СулътIаным Iимамым и Iэм ба хуищIри жриIащ: «Алыхьым и цIэкIэ соIуэ, си адэ сулътIан Мэхьмуд къэтэджыжу къысхуеблэгъами, нобэ хуэдэу сымыгуфIэнт». Тырку сулътIаным зыгуэрым и Iэм ба хуищIуи абы ипэ къэхъуатэкъым, арати а хъыбарым занщIэу Iистамбыл зэлъищIысащ. СулътIаныр Щамил бгъэдэтIысхьэри, Iимамым и Iэм телъэщIыхьыурэ псэлъэн щIидзащ: «Уа си хьэщIэ лъагэ! Си сэрейм и бжэ псори уэ пхузэIухащ. Ди ныбжьэгъу лъапIэмрэ абы и унагъуэмрэ я жьэ къыжьэдэкI дэтхэнэ лъэIури дгъэзэщIэным дыхуопIащIэ, гуфIэгъуэшхуэщ ар си дежкIэ». Iимамым сулътIаным фIыщIэ хуищIри хьэж кIуэну фIэкIа нэгъуэщI зыри зэрыхуэмейр жиIащ. ИтIанэ, тIэкIу зиIэжьэри, щихъ Щамил къыпищащ: «СулътIан щхьэмахуэ! Тыгъэхэм я нэхъ лъапIэу сщыхъунт Алыхьталэм фIэкIа зыми дыщымыгугъыу илъэс щэщIкIэ къэзэуат щедгъэкIуэкIым щыгъуэ фыкъыддэIэпыкъуауэ щытыгъам. АрщхьэкIэ уэри уи къуэш Абдулмэжиди Iэщэ къудейкIэ зыкъытщIэвгъэкъуакъым. Кърым зауэр щIидза нэужь Iэмал къыфхъукъуэкIари къэвгъэщхьэпакъым. Къэфкъазыр мелуан ныкъуэм нэблагъэ урысыдзэм пэщIэту утыку къивнащ. Нобэ сэ уи пащхьэ сызэритым хуэдэу, Къемэт махуэм Алыхьталэм и пащхьэ уихьэмэ, псалъэ къыдэптам узэрепцIыжам папщIэ жэуап пхьынущ». Тырку сулътIаным зимыухейуэ Iимамым и IитIыр къищтэри и щхьэм трилъхьащ: «Япэм щхьэ сфIэтакъым, зи щIыхьыр ин Iимам. Иджы жыпIэу хъуар згъэзэщIэнущ». Къэфкъаз лъэпкъхэр пащтыхьыдзэм зэрыпэщIэтам щытепсэлъыхьым, Iимамым сулътIаным жриIащ: «Къэфкъазым Азиемрэ Европэмрэ зэпещIэ. Ар зыIэрыхьэм а щIы IэхьитIми и унафэр Iэрыхьэнущ. Аращ Тыркухэми муслъымэну дунейм тетхэми Къэфкъазым къыщыщIыр езыхэм къащыщIу ялъытэн щIыхуеяр. Фэ фи адэжьхэр Къэфкъазым ис муслъымэнхэм ядэIэпыкъуу щытащ, дяпэкIэ дунейм зихъуэжынущ. Фэри Европэм зыхуэвгъэщхъын хуей хъунутэкъым, дэ, Къэфкъазым ис муслъымэнхэри, зеиншэм хуэдэу дыкъызэтенэнутэкъым». Шэрджэсеймрэ Урысеймрэ я ЗэгурыIуэныгъэр Мухьэммэд-Iэмин Шэрджэсейм зэрыщыIа илъэс пщыкIузыр махуэ зэрызу зэфIэгъэувэжыным тхыдэтххэм я гулъытэ гупсэху зэрыхуэфащэм шэч хэлъкъым. Езы нэIибми зэрыжиIащи, а псори «птхыжыну ухуежьэмэ, тхылъышхуэ Iэджэ пхуригъэкъунт». ЗэкIэ ди плъапIэр а лIы махуэм Адыгэ лъэпкъым хуищIыпхъэ пщIэмрэ ар къэзыгъалъагъуэ щэнымрэ я пIэ иувэжын хуэдэу, дызыщымыгъуазэ е дыщыгъуазэ хуэдэми, гуитIщхьитIу дыкъэзыгъанэ еплъыкIэр дгъэзахуэжынращи, нэхъ зэхэзэрыхьауэ тхыдэ щIэныгъэм къыхэна напэкIуэцIхэм ящыщщ Шэрджэсейм банэныгъэр зэрыщиуха щIыкIэр. Мухьэммэд-Iэмин иужьрейуэ зыхэта Iуэхухэр зэриIуэтэжыр мыпхуэдэущ: «ИтIанэ Урысхэм Дагъыстаныр къаувыхьщ, яубыдри, Щамил гъэр ящIащ. Щамил Къэлугэ къытхуритхыкIащ нэгъуэщI Iэмал зэрыщымыIэм къыхэкIыу, зыттыну чэнджэщ къыдиту, дэри зыдмыгъэгувэу мамырыгъэр ядэтщIыну дызэрыхьызырыр къэдгъэнэIуащ». Мин щий тхущIрэ бгъуы гъэм, щэкIуэгъуэм и тIощIрэ им Къэфкъазтет Барятинский Александр урыс пащтыхь Александр ЕтIуанэм хуетх: Барятинскэ джыназым къыбгъэдэкIыу Александр II императорым деж Мухьэммэд-Iэмин зэрызитам теухауэ тхылъ Зиусхьэн! Бытырбыху сынэкIуэн ипэ си гуапэщ хъыбар уэзгъэщIэну Къэфкъаз гъунапкъэм и Ижьырабгъу лъэныкъуэм къыщыхъуа Iуэхушхуэм теухуауэ. Мухьэммэд-Iэмин Абэзэхэ псори и гъусэу уэ зи щIыхьыр иным уи унафэм щIэуващ; цIыху минищэм нэблагъэ и гъусэщ. Филипсон генерал-лейтенантым бгъэдэт Свечин-полковникым ар къызэрыхъуа щIыкIэм теухуа хъыбар гъэщIэгъуэнхэр ныбжиIэжынщ. Ар куэдкIэ хуэщхьэпэнущ ди унафэм иджыри къыщIэмыува адрей лъэпкъхэм я Iуэхум. Мухьэммэд-Iэмин мы махуэхэм къэкIуэну сожьэ, икIи абы, Свечин-полковникым зэрыжиIэм хуэдэу, уи пащхьэ нихьэн мурад иIэмэ, икIэщIыпIэкIэ Бытырбыху незгъэшэнщ. А Iуэхум зэры-Къэфкъазу и фейдэ къекIынущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Щамил хуэдэу дуней псом щымыцIэрыIуэми, Тыркуми, КъуэхьэпIэ гъунэгъуми мэхьэнэшхуэ зырат абы и цIэр фIы дыдэу щащIэ. НэIибым Iэщэ щIигъэтIылъам и щхьэусыгъуэр щихъ Щамил и унафэу зэрыщытар къыхощ Къэлугэ гъэру щаIыгъ Iимамым бгъэдэта урыс офицер Руновский Аполлон и гукъэкIыжхэми: «Абэзэхэхэр зэрикIуэтамрэ а зэманым абыхэм тепщэу яIа Мухьэммэд-Iэмин я пашэу Урыс тепщэгъуэм тхьэрыIуэкIэ зэрыбгъэдэувамрэ газетхэм къытрадзати Щамил жесIэжащ. Iимамыр хъыбарым и фIэщу щыгуфIыкIат. И нэIибу щытам губзыгъэу Iуэхум зэрыбгъэдэхьам папщIэ щытхъури, а хъыбарым куэд щIауэ зэрыпэплъари къыхигъэщащ. Мухьэммэд-Iэмин иджыри къэс щIызрилъэфыхьрат къыгурымыIуэу жиIэр. - Къэфкъазыр иджы здэщыIэр Къэлугэщ, - къытригъэзащ абы зэ жиIауэ щытам, аращи, зауэ щыIэнкIэ Iэмал иIэкъым!» Ауэ езы Мухьэммэд-Iэмин и Iуэхур къызэрымыкIуэу гугъу хъуам къыщынэтэкъым. И къалэныр иджы Iэщэншэу езыхьэкI нэIибыр Адыгэ лъэпкъхэмрэ Урысхэмрэ я зэхуакум дэзэрыхьат. Дагъыстэным хуит щыхъуу Шэрджэсейм къагъэIэпхъуа урысыдзэм Адыгэхэр къызэремылынури зэрыпэмылъэщынури хьэкът. Урысхэм зэрызэхахыжынур ящIэу, а зэманым щихъ Щамили, Мухьэммэд-Iэмини, абыхэм я щIыбагъ къыдэтыж Джамалуддин щихъышхуэми ягъэIуа псалъэхэм и щIагъыбзэр зыхуэпхьыфынур езыхэм къафIэлIыкI тепщэхэм еубзэ, Урысейм и къару лъэщым итхьэкъуа защIу, бгырыс лъэпкъхэр кърагъэлынырт. Нэхъыщхьэращи, Къэфкъаз зауэр иухыным иджыри илъэситху иIэжу IэщэкIэ бийм пэщIэтыным фейдэ зэрыхэмылъыжыр наIуэ хъуакIэт. АдэкIэ къэхъунур, Щамил Iимамым и псалъэкIэ, «мылъкумрэ цIыхумрэ пщIэншэу кIуэдынырт». Ауэ къэрал унафэщIу ялъытэ а лIы пашэхэм я хьэтыркIэ Урысхэм бгырысхэр зэтрамыукIыпэну иджыри гугъэ щыIэт, аращ дэфтэрхэми, гукъэкIыжхэми, нэрылъагъу хъуа псоми узыхуишэ гупсысэр[18]. Мес езы Мухьэммэд-Iэмин ЗэгурыIуэныгъэм ипэ екIуэкIа Iуэхухэр къызэриIуэтэж щIыкIэр: «Мамырыгъэ зэдухылIэн IуэхукIэ япэу дызэпсэлъар Филипсон генералырщ. Абы унафэ къысхуищIт Къэфкъазтет Барятинскэм деж сыкIуэну. Сэ арэзы сыхъуащ. Ауэ Филипсоным деж сыкъикIыжа нэужь, Абэзэхэхэм япщхэр зэхуэсри псоми зыжьэу жаIащ: «Дэ дыарэзыкъым Урысхэм я лъэныкъуэм уихьэу Къэфкъазтетми нэгъуэщI урыс унафэщIхэми уахуэзэну. Арати, сыкIуакъым. Абы къыхэкIыу Къэфкъазтетым ди ЗэгурыIуэныгъэр дзыхь зыхуэпщI мыхъун гуэру къыщыхъури Филипсон генералым унафэ хуищIащ Абэзэхэ щIыналъэм и дэхьэпIэм, Мывэ Лъэмыжым деж дзэ узэда щригъэувыкIыну. «Абдежым Мухьэммэд-Iэмин Абэзэхэр къришажьэу къыщыптемыуэмэ, жаIэр пэжщ. Къыптеуэмэ, жаIэр уи фIэщ пщIы хъунукъым», - жиIэу. Абы иужькIэ Филипсон генералым тхылъ къысхуригъэхьащ мыр иту: «КъакIуэи Къэфказтетым зыхуэгъазэ, армыхъумэ уэри Абэзэхэхэми абы фIы щIэфхынукъым, уеблэмэ фи зэраныгъэ къыхэкIынущ». Арати, сыкIуащ. Ставрополь сынэсри Къэфкъазтетым иужь ситу Тифлис нэс сыкIуэцIрыкIащ. Къэфкъазтетым сыхуэза нэужь, абы Абэзэхэхэм япщхэр си гъусэу Бытырбыху сиунэтIащ икIи мин щитIрэ блыщIрэ тху гъэм и щэуал мазэм абы сынэсащ». НэIибым зэрызита хъыбарыр къеIуэтэж Магомеддадаев Iэмырхъани: «Мин щий тхущIрэ бгъуы гъэм Мухьэммэд-Iэмин шу минитIрэ Абэзэхэхэм я нэхъыжьхэмрэ и гъусэу Хомасты къуэладжэм пэгъунэгъу Урысхэм я IуэхущIапIэм деж екIуалIэри Филипсон генералым и пащхьэ Урыс пащтыхьым «игъащIэкIэи хуэпэжыну» псалъэ итащ. Япэу тхьэ зыIуар Мухьэммэд-Iэминщ. «Мухьэммэд лIыкIуэ лъапIэм и хабзэм хьэрэм пщищIкъым чыристан пащтыхьым и унафэ ущIэтыну», - жиIащ нэIибым. Филипсон ЗэгурыIуэныгъэ щырищIылIэм, Абэзэхэ лъэпкъым папщIэ Мухьэммэд-Iэмин мыпхуэдэ хуитыныгъэхэр пхигъэкIащ: 1) ДинкIэ хамыгъэзыхьын, щыпIэ лъапIэхэу Мэккэрэ Мэдинэрэ хуиту ягъэкIуэн; 2) Къэфкъазым исхэр тыпщIэм, дзэм къулыкъу щахьыным, къэзакъ ящIыным щыхъума хъун; 3) Урысейм къулыкъу щызыхьыну гукъыдэж зиIэ Абэзэхэхэм улахуэ хуагъэувын; 4) Абэзэхэхэм я лIакъуэ псоми я хуитыныгъэхэр къахуэнэн; 5) Абэзэхэхэм ящIхэр игъащIэкIэи езыхэм яижщ, абыхэм я зы Iэхьэми къэзакъ станицэ тращIыхьынукъым; 6) Абэзэхэхэр хуитщ езыхэм я лъэпкъым щаукъуэдия хабзэм тету псэуну; 7) Абазэхэхэм я унафэ ищIыну Урыс унафэщI щхьэхуэ хахынущ; 8) А унафэщIыр лъэпкъ Iуэхум щыхэIэбэнур къэралым пэщIэувэIамэ е унафэ зыщI нэхъыжьхэм лей зэрахьэмэщ; 9) ПщылIхэмрэ унэIутхэмрэ зейхэм я унафэ къыщIонэ, языхэз щIэпхъуэжмэ, Урыс унафэщIхэм ахэр зейм иратыжыну я къалэнщ; А дэфтэрыр къызэрыкIуэ «ЗэгурыIуэныгъэм» нэхъ ещхьт, - гу лъетэ Магомеддадаевым, - Абэзэхэ щIыналъэм и «автономие» зыфIэпщыфынум нэхърэ. А лъэныкъуэмкIэ Мухьэммэд-Iэмин, Щамил елъытауэ, и Iуэху нэхъ пхигъэкIыфат: Iимамышхуэм нэхъ мащIэт пащтыхьыгъуэм хуит хуищIар. Ауэ а ЗэгурыIуэныгъэр Дагъыстэным нэхъ къыщыщхьэпауэ жыпIэ хъунущ Шэрджэсейм нэхърэ. Шэрджэсейм абы щыхуэныкъуэж’Iатэкъым: ахэр мин щий хыщIрэ щы-хыщIрэ тхуы гъэхэм ирагъэIэпхъукIри, афIэкIа хэмылъу абыкIэ Iуэхур зэфIагъэкIыпащ. Ауэ мин щий тхущIрэ бгъуы гъэм Къэфкъазым щыIэ унафэщIхэм фIыуэ къагурыIуэт мамырыгъэ тIасхъэр зауэфIым нэхърэ зэрынэхъыфIыр. Абыхэм я дежкIэ мэхьэнэ зиIэр Адыгэ шэрджэс лъэпкъхэр икIэщIыпIэкIэ Мухьэммэд-Iэмин и нэIэм щIагъэкIыу ар зи унафэщI КъуэхьэпIэ Къэфкъазым щыпсэу бгырысхэр зэпэIэщIэ ящIынырт». Урысхэм а ЗэгурыIуэныгъэр къазэрыщыхъуар къыхощ Фаддеев Ростислав и тхыгъэми: «Сыт хуэдэ лъэныкъуэкIэ уеплъми, щэкIуэгъуэм и тIощIым ядэдухуа ЗэгурыIуэныгъэр илъэситкIэ дызыгъэгувэ икIи дыкъыхэзыгъащIэ хьэлъэт. Ауэ Абэзэхэхэм ЗэгурыIуэныгъэр епщIылIэныр зы Iуэхут, узэрызэгурыIуар умыгъэзэщIэныр - нэгъуэщIт. А дакъикъэм Абэзэхэм хуитыныгъэ егъэлея ептыным къыпэкIуэр нэхъыбэт иужькIэ епта хуитыныгъэхэр къытепхыжкIэ узыхэкIыжынум нэхърэ… Ещанэрауэ, уелъэпауэ хъуххэнутэкъым ПсыжьадрыщI щIыналъэм Мухьэммэд-Iэмин щиIыгъ увыпIэр щыдгъэкIуэдынымкIэ а ЗэгурыIуэныгъэм мыхьэнэуэ иIами ар зи пашэ бгырысхэр зэпэIэщIэ тщIыпэнымкIэ щхьэпагъыу къытIэрыхьами». Мин щий хыщI гъэм Къэфкъазтет Барятинский Александр Урыс император Александр ЕтIуанэм хуетх: «Иджыпсту си мурадыр Абэзэхэхэр згъэбэлэрыгъынырщ, къыкIэлъыкIуэну илъэсым зыкъытпэщIамысэн хуэдэу. А зэманыр Шапсыгъхэм нэхъ тегушхуауэ дебгъэрыкIуэн папщIэ къэдгъэщхьэпэфынущ. Ар си мураду нэхъыфIыIуэу сиIэ дзэхэр абыхэм изогъэбгъэрыкIуэ. Ахэр лъэщыгъэкIэ ди унафэ щIэдгъэувэмэ, Абэзэхэхэри къыдэзэуэжыфынукъым. Аращ уи деж Мухьэммэд-Iэмин Абэзэхэ лIыкIуэхэр дэщIыгъуу нэзутIыпщыну сигу къыщIэкIар». Мухьэммэд-Iэмин фIыуэ къыгурыIуэт адэкIэ Урысхэм уапэщIыуэвэным мэхьэнэ къызэримыкIынур, - жеIэ Дашлай Фазили. – ПсэзэпылъхьэпIэм Iуту абы илъэкI къигъанэкъым КъуэхьэпIэ Къэфкъазым хуитыныгъэ къыхуимыгъэнэфми, нэгъуэщI мыхъуми, и щIыр къыхуигъэнэжын папщIэ. Мин щий хыщI гъэм и гъатхэм Бытырбыху Абэзэхэ лIыкIуэхэр щыхьэрым кIуэну хуит зыщI хъыбар къратыкIащ. ЛIыкIуэ ящIащ пщIэ нэхъ зиIэу нэхъыжьибл, Абэзэхэ лъэпкъ къэс щыхахауэ, Мухьэммэд-Iэмин нэIибым шу гъусэ хуэхъунухэри къыхахащ. Абэзэхэ лIыкIуэхэм яхэтахэщ: - нэIиб Мухьэммэд-Iэмин - нэIибым и къуэш Iэбу Бэчыр (ар сыт щыгъуи нэIибым къыбгъурытт дзыхьи хуищIт) - нэхъыжьхэу: - Хьэджымыкъуэ Исмагьил- хьэжы; - Хъуэжь Хажикул-хьэжы; - Хьэгъундокъуэ Алий (Абазэхэхэм куэду яхэс къэбэрдейхэм ящыщщ); - Мезаков Бекир-ефэнды; – Пщыунэ Iэхьмэд; – Хьэжыкъуэ Пщымаф; – Хъырсызыкъуэ Кушыку; – Хатков Тэлъостэн; НэIибымрэ лIыкIуэхэмрэ я шугъусэхэр: – Лъыщ Мыхьмуд (нэIиб Мухьэмэд-Iэмин бгъэдэту); – Цюше Пщымаф (нэIиб Мухьэммэд-Iэмин бгъэдэту); – Хьэкурынэ Дыгъужь; – Хьэкъун Iисхьэкъ; – ХьэщIэмэз; Мин щий хыщI гъэм мэлыжьыхьым и пщыкIуийм урыс император Александр ЕтIуанэм Бытырбыху Абэзэхэ лIыкIуэхэр щрегъэблагъэри «нагъыщэ хэIэтыкIахэр» ярет. Мухьэммэд-Iэмин нэIибым абдеж дыдэм дыжьын ахъшэ сом минищ къыщрат, апхуэдиз дыдэ илъэс улахуэу хуагъэув. ЛIыкIуэ къэс дыжьын сом мин тIурытI, шу гъусэхэмрэ лIыкIуэ нэхъыщIэхэмрэ – дэтхэнэми дыжьын сом щитху. Урыс императорыр арэзы хъуат Мухьэмэд-Iэминрэ Абэзэхэ нэхъыжьхэмрэ зэраIущIа щIыкIэм, ахэр махуипщIкIэ Бытырбыху къыщрашэкIыу, иужькIэ Абэзэпщ Лохэ я къуэм и гъусэу Къэфкъазым яшэжыну унафэ ищIащ. «Мухьэммэд-Iэмин улахуэ зэрыхуагъэувар ар къэралыгъуэ щхьэхуэм и тепщэу къызэралъытэм и щыхьэтт», - гу лъетэ Эльдаров Магомед. Ауэ езы нэIибым екIуэкIыр къызэрыщыхъум ущIэупщIэмэ, псом нэхъ IупщIыу ар къызыхэщыр Адыгейм щыщ тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор Чеучева Анжелэ и лэжьыгъэрщ: «Абэзэхэхэм я тхыдэм къыхэнащ Мухьэммэд-Iэмин и политик Iэзагъым теухуа гукъэкIыжхэр. Мин щий тхущIрэ бгъуы-хыщI гъэхэм Абэзэхэхэр Урысейм гуригъэIуэн папщIэ амалу щыIэр къэзыгъэщхьэпа лIы хахуэу къыхощ абы нэIибыр. Мухьэммэд-Iэмин и жэрдэмкIэ Абэзэхэ лIыкIуэхэр мин щий хыщI гъэм Бытырбыху кIуахэт пащтыхьым ЗэгурыIуэныгъэ иращIылIэну. НэIибыр и гъусэ лIыкIуэхэм куэдрэ епсэлъылIащ Урысейм къахуищI унафэхэм арэзы техъуэну. Хъыбарым къызэрыхэщыжымкIэ, ЗэгурыIуэныгъэм узэрыщыгугъышхуэ зэрымыхъунур къыщыгурыIуэм, а лIы шыщхьэмыгъазэр къэгъащ, мыпхуэдэ псалъэхэри и жьэ къыжьэдэкIауэ яIуэтэж: «Мыбыхэм (Абэзэхэхэм) къатехьэну леймрэ ахэр зыхэхуэну бэлыхьымрэ си нэгу къыщIоувэри аращ схуэмышэчу сыщIэгъыр». Мухьэммэд-Iэмин магъ, Александр ЕтIуанэр мэгуфIэ. «Мухьэммэд-Iэмин Къэфкъаз гъунапкъэм и ижьырабгъу лъэныкъуэм нэхъ ин дыдэу щыпсэу лъэпкъыр и гъусэу ди унафэм къыщIэуващ. Натыхъуейхэри а щапхъэм ирикIуэну ягъэхъыбар. Филипсон и дзэ лъэщым и пашэу Абэзэхэхэм я щIым ихьэмэ, Шапсыгъхэри Убыххэри икIуэтыну ущыгугъ хъунущ. Мы илъэсыр мыхъумэ, къыкIэлъыкIуэ мин щий хыщIрэ езанэм»,- жеIэ императорым мин щий хыщI гъэм. Лапинскэр зэреплъымкIэ, Урысхэм а икIуэтыкIэ наIуэмкIэ арэзы хъуа хуэдэу зищIу арат. Урыс тепщэгъуэр абы хуэныкъуэт, зы еплъыгъуэкIэ, Европэм къэфкъаз Iуэхур зэфIэкIауэ и пащхьэ ирилъхьэн папщIэ. Ауэ псом нэхъыщхьэрати, Дагъыстэным, Натыхъуейм, Абэзэхэм щыIа дзэхэр иджы Шапсыгъ ныкъуэкъуэххэм ираутIыпщыну хуит хъуахэт, абы иужькIэ Абэзэхэр я IэмыщIэ иралъхьэну къатехьэлъэжынутэкъым. Мин щий хыщI гъэм дзэшхуищ, дэтхэнэ зыри зауэлI мин пщыкIутху хъууэ, Шапсыгъ тафэхэм ихьащ». «Сэфэр-бей иджы и закъуэу пащтыхьыдзэм къыбгъэдэнат, - негъэс и гупсысэр Магомеддадаев Iэмырхъан, - арати, куэд дэмыкIыу абы Филипсон генералым жэрдэмкIэ зыхуигъэзащ Урысейм и жьауэ щIэт Натыхъуей пщыгъуэ яухуэну. АрщхьэкIэ, Урыс унафэщIхэм Сэфэр-бей и гупыжым жэуап кърамыту, «ягъэбий» хуэдэу гулъытэншэ ящIащ. Занокъуэр зыкIи зэран яхуэмыхъуми, амал щимыIэ пэлъытэ зэманым КъуэхьэпIэ Адыгейр зэкъуэзыгъэувэу хабзэм тезыгъэува Мухьэммэд-Iэмин ар зэреныкъуэкъум фейдэ хахт Урысхэм. ЕпцIыжакIуэу къагъэщхьэпэ нэхърэ, Сэфэр-бей «бийуэ» КъуэхьэпIэ Адыгейм къранэм нэхъ къащтэт». Мухьэммэд-Iэмин Тыркум ягъэIэпхъуэ Мин щий хыщI гъэм Бытырбыху императорым щыхуэза нэужь, Мухьэммэд-Iэмин Казембек-профессорым зэрыригъэблэгъам и гугъу тщIат. Гукъинэжщ нэIибыр профессорым и нэгу къызэрыщIэна сурэтри: «Сэ ар зи къару илъыгъуэ щIалэ лIыкуу си нэгу къыщIэзгъэхьэт; хахуэу, губзыгъэу, кIуэ, щIэныгъэкIэ Щамил щIэрымыхьапэми, и хьэрыпыбзэр, псом хуэмыдэу, и къумыкъубзэр Iимамым ейм къыкIэрымыхуу. КIэщIу жыпIэмэ, и муршидым хуэфащэ муриду къызэфIэзгъэщIт. ИкIи зы закъуэкIэ фIэкIа сыщыуакъым: Мухьэммэд-Iэмин хьэрыпыбзэкIэ, абы къикIыр - Хьэрып бзэ щIэныгъэкIэ, - Дагъыстэн щIэныгъэлIхэр а лъэныкъуэмкIэ жыжьэ дыдэ нэсакъэ, - сызэрыщыгугъам нэхърэ куэдкIэ нэхъ Iэзэу къыщIэкIащ. Абы ищIыIужкIэ, ар икIи «хьэфизт», КъурIэныр зэрыщыту гукIэ ищIэт; «Тэджуидым», къызэщIэубыдауэ «КъираIэт» жыхуаIэ КъурIэн къеджэкIэ щIэныгъэм, и хабзэхэми нэсу щыгъуазэт. Адрей псомкIи ар зэрызигугъам хуэдэ дыдэу Щамил Iимамым и гъэсэнт, фIыщIэ щIыхуэщIыпхъэхэм язуи, Iимамым и цIэр щIыхь пылъу фIэкIа къриIуэтэкъым. Апхуэдэ щэныр муридым и къалэну зэрыщыт къудейрауи щымыту, и фIэщу гурэ псэкIэ зэригъэлъапIэр наIуэт. И Iимамым елъытауэ, шугъусэ зыбгъэдэмыт Мухьэммэд-Iэмин и къэкIуэкIэр нэхъ къызэрыгуэкIт. Сэ абы, Богуславскэ полковникым чэнджэщ къызитам сытету, пэшыбжэм деж сыщыпежьэри хьэрыпыбзэкIэ сэлам есхащ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, къумыкъубзэми тыркубзэми ар апхуэдэ дыдэу хуэшэрыуэтэкъым. ЗгъэщIагъуэу седэIуащ хьэрыпыбзэкIэ хуиту зэрыпсалъэмрэ и къэпсэлъыкIэр нэгъэсауэ зэрыщытымрэ, псом хуэмыдэу тэмакъыщIэм къыщыхъу макъхэр. Ар, дауи, зи фIыщIэр апхуэдэ макъ куэд зыхэт адыгэбзэр фIыуэ зэрищIэращ… И жэуап псори Iущт, къезэгът, къуэкIыпIэми, уеблэмэ Европэми щызекIуэ политикэм екIуу. Псалъэуха къэс «Алхьамду лиллахь» - «Алыхьым и фIыщIэкIэ!» - дигъэувэт... ИтIани сыту куэдкIэ зэщхьэщыкIрэ Щамилрэ абырэ! Ар нэхъ еджащ Щамил нэхърэ, нэхъыбэи илъэгъуащ. УзэреплъынкIэи, Iимамым елъытауэ нэхъ бжьыфIэ къыщIэкIынщ! Ауэ Щамил япэ изыгъэщ зы лъэныкъуэ къонэ. Ар куэд зыгъэунэхуари зымыгъэунэхуари, цIыхушхуэри къызэрыкIуэри зытхьэкъу гуэрщ: акъыл нэху, зэпымыууэ удихьэхыу зи жьауэм щхьэхуитымыту ущIэзыгъэувэ, цIыхум къыдалъху Iущагъ къызэрымыкIуэ. Аращ Щамил Дагъыстэн псор жыIэщIэ къыхуэзыщIар. Мухьэммэд-Iэмини абы и муридхэм, и пщылI псэемыблэжхэм ящыщт. СфIэгъэщIэгъуэнт ар Щамил зэрытепсэлъыхьынур, псом хуэмыдэу иджы, езыр абы щыхуэмыныкъуэж зэманым. УщIыщытхъун щхьэусыгъуэт абы, гъэсэн пэжым и гъэсакIуэ лъапIэм е и унафэщIым и гугъу зэрищIын хуей щIыкIэм тету, Щамил и цIэр пщIэ лей пылъу къызэрыриIуэр. ТеплъэкIэ Мухьэммэд-Iэмин лIы къуапцIэ къудан зыIэщIэлъщ, лъагэфIрэ зэкIужу икIи сытым дежи гурыхьу пыгуфIыкIыу. Езым итхыжа гукъэкIыжхэм къызэрыхэщымкIэ, илъэс плIыщIрэ тIурэ мэхъу. Абы тепщIыхьмэ, Щамил и мурид щыхъуам ар илъэс пщыкIубл е пщыкIуий ирикъуа къудейт. Абы лъандэрэ зекIуэхэмрэ гъуэгуанэхэмрэ и Iэпэгъущ, абы и фIыгъэкIэи IэпкълъэпкъкIэ къарууфIэщ. ЦIыху жанхэм, куэдым пхыкIахэм зэрадэплъагъу хабзэу, ар щэныфIэщ, IэбэкIэи псэлъэкIэи ещIэ, сытми фIэхьэлэмэту щIоупщIэ, псори и щIэщыгъуэщ». Iэщэ игъэтIылъа нэужь, Мухьэммэд-Iэмин Къэлугэ гъэру щаIыгъ щихъ Щамил деж макIуэри махуищкIэ щохьэщIэ. Iимамым бгъэдэта Руновский Аполлон и гукъэкIыжхэм къыхэнащ а зэхуэзэм и зы сурэт: «Мис-тIэ илъэс пщыкIущкIэ зэпэIэщIэу щыта Iимамымрэ и муридымрэ зэхуэзэжахэщ; апхуэдиз илъэскIэ мэхьэнэ зимыIэ я хуитыныгъэм щIэбэну къыдэзэуа лъэпкъитIым я тепщитIыр зэхуэзахэщ. Зэхуэзахэщ зэм гугъэ нэху къезыт, зэм я гур яфIэзыгъэкIуэд зэрызехьэшхуэхэм иужькIэ. Щызэрылъэгъуари хуит хъужа я хэкуракъым, атIэ куэд щIауэ гужь зыхуаIэ лъэпкъым и курыкупсэм... КупщIафIэт Щамилрэ Мухьэммэд-Iэминрэ я зэхуэзэр: IэплIэ зэхуащIри зым и щхьэр адрейм и плIэм егъэщIауэ куэдрэ щытахэщ. Ба зэхуэщIакъым: бгырыс цIыхухъухэм ар я хьэлкъым; уеблэмэ Iэмалыншэуи щыттэкъым ар: ди нэгу къыщIэува сурэтыр армырми дахащэт». Казиев Шапи зэритхыжымкIэ, Мухьэммэд-Iэмин Щамил и деж къыщыкIуа махуэхэм Къэлугэ къыщыдэкI газет пэрытым «Щамил етIуанэр» Iимамым деж хьэщIапIэ къызэрыкIуам теухуа хъыбар къытехуати, гу лъыптэу щихъым и бжэIупэм къыщызэхуэс факъырэхэм я бжыгъэр хэхъуат. Тхыдэ щIэныгъэлI лэжьыгъэхэми урыс дэфтэрхэми ущрохьэлIэ Мухьэммэд-Iэмин Адыгэхэр Урыс тепщэгъуэм и унафэм щIагъэувэн папщIэ, ядэIэпыкъуну закъыхуигъэлъагъуэу. Абы и щхьэусыгъуэр, шэч закъуэи хэмылъу, нэIибым Урыс зэрыпхъуакIуэхэм я IэбэкIэр нэхъ щабэ ищIын плъапIэр зэримыгъэтIылъырт. Ар къызыгурыIуэ Урыс къулыкъущIэхэри Адыгэхэм я пашэр икIэщIыпIэкIэ къэралым зэрырагъэкIыным иужь ихьахэт. Мухьэммэд-Iэмин Абэзэхэ щIыналъэм и Хасэшхуэмрэ Мейкъуапэ быдапIэм щыIэ Урыс тепщэгъуэмрэ зэпызыщIэ къарут, - етх Дашлай Фазиль. - ЗэгурыIуэныгъэм къахуигъэув къалэнхэр ямыгъэзащIэу щIэмыхъун, Мухьэммэд-Iэмин хуэдэу хьэтыр зиIэ нэрыбгэ щымыIэмэ, Урысхэм Абэзэхэхэм мамырыгъэ щращIылIэм къызэрагъэгугъахэр зыщхьэщагъэкIыфынут. Псыжь областым и унафэщI Евдокимов генерал-адъютантым илъэкI къигъанэкъым Мухьэммэд-Iэмин и унагъуэр и гъусэу Уэсмэн къэралыгъуэм игъэIэпхъуэн папщIэ, Iуэхур щэхуу зэрихьэу, текIуэдэну псори езым и пщэ дилъхьэжу. Евдокимовым къыгуроIуэ нэIибыр бгъэIэпхъуэмэ, япэрауэ, ар и щхьэусыгъуэу Абэзэхэм щызэтеува политикэ хабзэхэр щызэрызэтекъутэнур; мыдрейуэ - Абэзэхэ лъэпкъыр псэзэпылъхьэпIэм щит сыхьэтым Мухьэмэд-Iэмин хуэдэу псори зыфIэлIыкI тепщэ яфIэкIуэдынут. КъинэмыщIауэ, Мухьэммэд-Iэмин и щхьэкIэ урыс пащтыхьым хуэзэри игу дыхьати, мин щий хыщIрэ зы гъэм императорым IущIэну зызыгъэхьэзыр Адыгэ шэрджэсхэм Мухьэммэд-Iэмин яхэтмэ, псори нэгъуэщI зыгуэру екIуэкIынкIэи хъунут. НэIибыр Абэзэхэ щIыналъэм щымыIэмэ, абы щызекIуэ политикэ къару псоми, Абэзэхэми, Убыхми, Шапсыгъми я унафэщIхэм я гукъыдэжхэм зыпхуегъэхъуэжынут. Щамилрэ Мухьэммэд-Iэминрэ я зэуэкIэ амалхэр зэхуэдэтэкъым. Лъэныкъуэ псомкIи Урысейм къиухъуреихь Iимамым хамэ къэралхэм запищIэфтэкъым. Мухьэммэд-Iэмин и Iуэхур а лъэныкъуэмкIэ куэдкIэ нэхъыфIт. КъуэкIыпIэ Къэфкъазыр а зэманым Урысей империем и кIуэцIым итмэ, КъуэхьэпIэ Къэфкъазыр къэралщIыб дунейм лъэIэст, Урысейм апхуэдэ зэпыщIэныгъэхэр зэпиудын щхьэкIэ илъэкI къызэримыгъанэм хуэдэу. Мухьэммэд-Iэмин и къэрал лIыкIуэхэр Щамил ещхьу дзыхь зыхуимыщIыщэ Тыркум и закъуэтэкъым здынэсыр, атIэ Европэми щепсыххэт». Мин щий хыщIрэ зы гъэм Константинополь щыIэ урыс посольствэм хуэгъэзауэ Штаб нэхъыщхьэм и унафэ: Мин щий хыщI гъэм мэхьэнэ зимыIэ зекIуэхэр къэгъэнауэ, бгыхэр къэзакъ станицэкIэ щIэгъэнэныр, бгырысхэр тафэм гъэIэпхъуауэ ди лъабжьэм щIэгъэувэныр унафэу къащтащ. Мин щий хыщIрэ зы гъэм щегъэжьауэ хы ФIыцIэм и къуэкIыпIэ Iуфэр хуэм-хуэмурэ къэзакъхэм яубыдын хуейт. Iуэхум иужь дызэрихьэу, бгырысхэм къапэщылъыр къагурыIуащ. Арати, пэрыт лъэпкъищым – Шапсыгъхэр, Абэзэхэхэр, Убыххэр зэгуэхьэхэри пащтыхьым деж лIыкIуэ ягъэкIуащ Мухьэммэд-Iэмин зэрыгурыIуа щIыкIэм тету я унафэм щIагъэувэну лъаIуэхэу. Абыхэм хэдапIэ кърамытыжу занщIэу бгыхэм иIэпхъукIыну къыпаубыдащ. Узыщыгугъ хъунурати, бгырысхэм Iэщэ къащтащ. Илъэс блэкIар псом нэхърэ нэхъ гугъут. Бгырысхэм ялъэкI къагъэнакъым, итIани лъэныкъуитIкIэ къэбгъэрыкIуэ ди дзэхэм япэлъэщакъым: зы лъэныкъуэр - Iэнэпэ щегъэжьауэ къуэкIыпIэмкIэ, адрейр – Лабэшхуэ деж щегъэжьауэ къуэхьэпIэмкIэ. ЗымкIэ Хабля псыежэхым нэсащ, адреймкIэ – Пшиш нэс. Бгыхэм кърахуха цIыхухэм я нэхъыбэр икIуэтащ, иджыблагъэ мин щэ ныкъуэм нэс Псыжьрэ абы хэлъэдэж адрей псыхэмрэ IутIысхьахэщ, ди унафэм щIэувапэу. Языныкъуэхэр Пшышрэ Шебшрэ я зэхуакум дэзэрыхьауэ пщыIэхэм щIэсщ. КIуапIи жапIи зимыIэж Абэзэхэхэр иджы къыттеуэжхэкъым, гущIэгъу яхуэтщIыну, нэгъуэщI мыхъуми, жэпуэгъуэр къэсу гуэдзыр Iуахыжыху я гугъу дымыщIыну мэлъаIуэ. Жэпуэгъуэм языныкъуэхэр Тыркум мыкIуэу хъунукъым, адрейхэр тафэм ягъэIэпхъуэнущ. Аращи, Мухьэммэд-Iэмин дызригъэкIужыну зигъэхьэзыр бийр щымыIэж пэлъытэщ. Iуэхур апхуэдэу щыщыткIэ, и фIэщыпэу къыддэIэпыкъуну зигъэхьэзырми, мыбы Мухьэммэд-Iэмин къэкIуэныр мэхьэнэ закъуи зимыIэ Iуэхущ. Абы игу къызэрытхуэкъабзэм шэчышхуэ зэрыхэлъым къыхэкIыуи, зиусхьэн императорым къалэн сщищIащ уэ, зи щIыхьыр иным, бжесIэну Мухьэммэд-Iэмин зауэр имыухыпауэ Къэфкъазым къихьэну зэрыхуимытыр, ар мыбы къыщыхутэныр Урыс тепщэгъуэм зэрыпэщIэува Iуэхуу зэралъытэнур лъэбгъэIэсыжыну». «Урыс тепщэгъуэм куэд дэмыкIыу ар Адыгэхэм япэIэщIэ ищIащ, - етх Магомеддадаевым, - ауэ нэIибыр хунэсащ абыхэм чэнджэщ яритыну: Урысхэм уапэщIэувэным иджы мэхьэнэ зэримыIэм къыхэкIыу, зэуэн щагъэту я унафэм щIэувэну. Ауэ ехъулIэныгъэм игъэщхьэрыуа Урыс тепщэгъуэм хэкурысхэр лъэщыгъэкIэ Тыркум ягъэIэпхъуэу, ахэр КъуэхьэпIэ Адыгейм иригъэкъэбзыкIыпэну мурад ищIат. Абы щхьэкIэ я унафэм къыщIэува псоми хэкIыпIитI хуагъэлъэгъуащ: е Ставропольрэ Сальскэ губгъуэхэмрэ макIуэ, е – Тыркум мэIэпхъуэ. Абдеж дыдэм Урысхэм хаутIыпщхьа бзэгузехьэхэм хъыбар ягъэIут Псыжь ищхъэрэкIэ Iэпхъуахэм лъэщыгъэкIэ чыристаныгъэ кърагъэщтэну, илъэс тIощIрэ тхукIэ дзэм хагъэхьэну, нэгъуэщIхэри. ЗэрыхъукIэ Адыгэ нэхъыбэ Тыркум езым я гукъыдэжкIэ игъэIэпхъуэну хуейт тепщэгъуэр. Ауэ зыхуэкIуар сыт жыпIэмэ, КъуэхьэпIэ Адыгейм Iэщэ къищтат. Абдеж щыщIидзащ КъуэхьэпIэ Адыгейм къыщыхъуа гузэвэгъуэм и иужьрей Iэхьэм. КъуэкIыпIэм щызэфIэкIа зауэм къыдэхуа дзэр мыбы къишэри, Урыс тепщэгъуэм лъэбакъуэ зырызу Адыгейхэр хы уфэм ирихулIащ иджы зы хэкIыпIэ закъуэ фIэкIа къахуимыгъанэу – Тыркум Iэпхъуэну. Мин щий хыщIрэ тIу гъэм Iистамбыл иджыри дэс Мухьэммэд-Iэмин Шапсыгъхэм, Натыхъуейхэм, Абэзэхэхэм я лIыкIуэхэм зыхуагъазэри игъэзэжу банэныгъэр иришэжьэну йолъэIу. АрщхьэкIэ нэIиб Iущым илъагъут КъуэхьэпIэ Адыгейм Урыс зэрыпхъуакIуэхэм езэуэну къару зэримыIэжыр. Абы лIыкIуэхэм чэнджэщ ярет зыгуэру Урысхэм ягурыIуэу Тыркум Iэпхъуэныр зэтрагъэувыIэну. Ардыдэм къыщыхуриджэт абы мызэ-мытIэу Iистамбыл икIыу Адыгейм иригъэхьа тхыгъэхэм. Апхуэдэу зэрыщытым хуэдэу, мин щий хыщIрэ щы гъэм нэIибым иджыри игу къэкIт банэныгъэм пищэну. А илъэсым абы Иордан Владислав, Iистамбыл щыIэ Лыхь лIыкIуэм жреIэ шу щитхум мазэ зыбжанэкIэ ятекIуэдэн мылъку иIамэ, Къэфкъаз Ищхъэрэм игъэзэжу банэныгъэм щыщIидзэжын хуэдэу». «Щамил гъэру яубыда нэужь, Адыгэ шэрджэсхэм я банэныгъэм щIэгъэкъуэн иIэжтэкъым, абы къыхэкIыу Мухьэммэд-Iэмини Абэзэхэ пашэхэр къыхуриджащ Iэщэр ягъэтIылъыну, - пещэ гупсысэм Эльдаров Магомед. – Пащтыхь тепщэгъуэм абы улахуэу сом минищ хуигъэуват. Зауэм щрагъэкIуэта Шэрджэсейр иджыри къэрал щхьэхуэу зэралъытэм и щыхьэтт ар. НэIибыр Бытырбыху щыIащ, Щамил Къэлугэ щыIущIащ, итIанэ куэд дэмыкIыу Къэфкъазым иIэпхъукIри Тырку къуажэ Армуткёй дэтIысхьащ, абыи дунейм щехыжащ. Ди лъахэгъум и кхъэлъахэм пэгъунэгъуу мэжджыт дахащэ щытщ, Урысейм и мызакъуэу, дунейм и лъэныкъуэ псомкIи къикI Адыгэ шэрджэс лъэпкъхэм ягъэлъапIэу… ЦIыхугъэ лъагэ зэрыбгъэдэлъымрэ и пщэрылъыр адэкIи зэрихьымрэ и щыхьэтт ар Тыркум зэрикIар. Ар епцIыжакъым илъэсипщIкIэ и унафэм щIэтахэм. Хэкум ирахуа Шэрджэсхэм я натIэ хъуар нэIибми и натIэ хъуащ». Адыгэхэм къащIэжын ядакъым Щыуагъэхэм дыхуэсакъыу, Мухьэммэд-Iэмин Тыркум щрихьэкIа гъащIэм и тхыдэр пщэдейрей махуэм хуэдгъэтIылъащ. Ауэ мы зы гъуэгукIэ гулъытэншэ мыхъумэ тфIэигъуэу зы лъэныкъуэ къонэ. НэIибым дыхуемыплъэкIыжын хуэдэу, Урыс тепщэгъуэм зэринэкIа дэфтэрхэм ар нэпсейуэ, Тыркум щыщыIэ зэмани Урыс улахуэм хэтхъыкIа хуэдэу къыхощ. Абы ищIыIужкIэ, ущIыщIэмыупщIэжын щхьэусыгъуэщ жыхуаIэу, нэIибым и акъыл зэтемысыжу дунейм ехыжауэ теIукIащ, ари мыпэжу. Мухьэммэд-Iэмини щихъ Щамили хабзэкIэ икIуэта нэужь, Урысхэм зэпэщIамысэу хэкум зэрикIар Къэфкъазым къинахэм яфI зэрызэрахуэ лъэбакъуэт. Абы и щыхьэтщ ищхьэкIэ зи гугъу тщIа щихъ Сэгьид-ефэнды къихь хъэбарыр: «Щамил пащтыхьым арэзы зыкъригъэщIри Мэккэрэ Мэдинэрэ кIуэну гъуэгу теуват. Iимамыр щригъэжьэжым, пащтыхьым абы гъуэгупщIэу сом минищ иритащ. ИтIанэ сэлам ирихыжри Щамил и Iэм ба хуищIащ. Езы Щамили абы и жэуапу пащтыхьым и Iэм ба хуищIри Iистамбыл кIуэну ежьащ». Мухьэммэд-Iэмин и «улахуэ хъэбарыр» Тыркум щыпсэуа нэIибым и щIэблэм щыщ Наджип Гюнеш къеIуэтэж, и адэшыпхъу Зарифэ и псалъэкIэ: «Пащэр хьэфизу щытащ. Ар хьэжыщI пщыкIущрэ кIуащ. Къэфкъаз зауэр иуха нэужь, Урысхэм абы улахуэ хуагъэуват. Тыркум икIыу хьэжыщI щыкIуэхэм деж абы сыт щыгъуи и гъусэт псоми фIыуэ яхилъагъукIа и шыпхъу нэхъыжьым и къуэ Хьэж-Фарид. Апхуэдэ ежьэгъуэхэм я зым кхъухьыр мысыр кхъухьтедзапIэхэм Iуту, Мысырым щыIэ Урыс лIыкIуэм нэIибым дыщэ ахъшэ хъуржынитI къритат, и улахуэр илъу. А лъэхъэнэм Тыркумрэ Урысеймрэ зэщыIеяхэти, ахъшэр къыщратыр Мысырырат. Си адэшхуэ Хьэж-Фарид кхъухьым и зы пэш щIэс пэт, хыдзэлIхэм яз къажэри «лIыжьым (Мухьэммэд-Iэмин) дыщэ ахъшэхэр зэрылъ зы хъуржыныр хым хидзащ» къыжриIащ. Арати, дэIэпыкъуэгъу къищтэри ар кхъухьым хэт пэшхэм язым щIаубыдащ. ИужькIэ, сыт апхуэдэу щIэпщIар жаIэу щеупщIым, Мухьэмэд-Iэмин жэуапу къаритащ: «Алыхьталэр а ахъшэхэм къыщIэупщIэмэ, жесIэным сегупсысын зэрыщIэздзэу, си акъылыр утхъуат». Хъэбарым къызэрыхэщымкIэ, унэм къэкIуэжа нэужьи, Мухьэммэд-Iэмин апхуэдэ щытыкIэм махуэ пщыкIутхукIэ итащ. «Махуэ пщыкIутхукIэ КъурIэныр тэмэму хуэIыгъакъым», - жеIэж къэзыIуэтэжым. «Махуэ пщыкIутху дэкIа нэужь, ар бжэм къытеуIуэри: «ЦIыкIухэ, сэ сынэхъыфIщ», - къажриIащ. Абы иужькIэ абы лажьэ имыIэу и унагъуэм хэсыжу псэуащ. ЗэрыжаIэмкIэи, дунейм щехыжам илъэсищэрэ илъэсиблым итт. Апхуэдэ щIыкIэу иухащ Мухьэммэд-Iэмин и унафэм щIэту Шэрджэсейм щекIуэкIа банэныгъэр: Урысейр зыхуейр щIыналъэрати - Iэрыхьащ. Ауэ абы Iэрыхьа щIыналъэр нобэ муслъымэн лъапсэу зэрыщытым Мухьэммэд-Iэмин и пщэрылъыр зэригъэзэщIар къегъэлъагъуэ. А лIы махуэм и цIэр адыгэгум зэрилъын хуей щIыкIэр иджыри зыхуей зэрыхуэмызам и щыхьэтщ Хъэйри Сэлихь и усэ нэщхъейр: Iистамбыл тIэкIурэ зыщIиIэжьэри, КIуэри и пIэ итIысхьэжащ: Адыгэхэм гуп закъуэи къахэкIакъым Ар я нэIибу зэрыщытар КъащIэжын ядэу. 2) «Аланхэр. Осетин лъэпкъым и тхыдэр. Осетинхэр курыт лIэщIыгъуэхэм. Аланиер XIII-XIV лIэщIыгъуэхэм», «Къэфкъаз» Интернет напэкIуэцI. 3) Журт щIэныгъэлI Гаммер Моше минитрIэ еянэ гъэм къыдигъэкIа «Щамил. Муслъымэнхэр царизмэм зэрыпэщIэтар. Шэшэнымрэ Дагъыстэнымрэ зэраубыдар» тхылъым щыжеIэ: «Урыс, иужькIэ - совет щIэныгъэлIхэр накъшбандийэ-хъалидийэ зэщIэхъееныгъэм «мурид хабзэкIэ» еджэт. Мин щий тIощIрэ бгъум Дагъыстэным, мин щий тIощIрэ тхуы-тIощIрэ хы гъэхэм Шэшэнымрэ Къэбэрдеймрэ къыщыхъуа Iэуэлъауэхэм я щхьэусыгъуэу урыс къэхутэныгъэхэм къагъэлъагъуэр Ярагъий Мухьэммэд и къыхуеджэныгъэхэрщ. Ауэ щыхъукIэ, набдзэгубдзаплъэу дэфтэрхэм уахэплъэмэ, абыхэм къэзэуатыр теорие къудейм щыщу, зэгуэр ягъэунэхункIи хъун диным и нэщэнэ хуэдэут къызэрыхэщыр. Ярагъий Мухьэммэд нэхъ фIэнэхъапэр цIыхубэр шэрихьэтым техьэу пасэрей хабзэжьхэр ягъэкIуэдыжынырт… «Уа цIыхухэ! - гукъанэ пылъу бгырысхэм захуигъазэт щихъышхуэм, - фэ икIи фымуслъымэнкъым, икIи фычыристанкъым, икIи фымажусийкъым... Бегъымбар лъапIэм жеIэ: «Муслъымэн нэсыр КъурIэным пщIэ хуэзыщIу шэрихьэтым зезыгъэубгъурщ. Тхьэ фIуэ, цIыхухэ, хьэл Iейхэр хэвну гуэныхьхэм защывдзеину. Жэщи махуи мэжджытхэм тхьэ фыщелъэIу. Фемышу Алыхьым фыхуэпщылI. Фыгъ, фи псэкIуэдхэр фхуагъэгъуну фылъаIуэ. Шэрихьэтыр зыхалъхьэу гъуэгу захуэм теува нэужьщ муслъымэнхэм хуитыныгъэ къахуэзыхьыжын къэзэуатыр къезыгъэхъулIэн нэмысрэ къарурэ щагъуэтынур. КъурIэным и хьэтыркIэ, джаурхэм IэщэкIэ ебгъэрыкIуэу урысхэр КъуэкIыпIэм щыщ къэралыгъуэ лъэщ гуэрым щригъэкIуэтын зэманыр къэсыху, бгырыс лъэпкъхэм урысхэм едаIуэкIи, уеблэмэ хьэщIагъэ ирахкIи гуэныхь къатехуэкъым». Мурид хабзэм нэмыплъ щIратым и щхьэусыгъуэр урысхэм игъащIэ лъандэм Iислъам диныр Iумпэм ящIу, къызэщIэубыдауэ жыпIэмэ, къэралыгъуэм игъэкъабыл православ диным нэмыщI адрей дин псоми гуыемыIу хуаIэ зэпыту къызэрекIуэкIарщ. Псалъэм папщIэ, Къэфкъазым щыIэ капуцинхэри шотланд чыристан узэщIакIуэхэри ирагъэкIат. Гъунэншэу хамэ лъэпкъхэм ятеухуауэ урысхэр утыку къызэрихьэ псалъэшхуэхэм зыри къикIтэкъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Урысейм и политикэр игъащIэ лъандэм Iислъам диным еныкъуэкъуным тещIыхьат. А политикэм и щапхъэ нэхъыщхьэщ бгырысхэр православ диным ирагъэхьэну зэрыхэтар; и щыхьэт наIуэщ муслъымэнхэр я дин лэжьыгъэхэр ягъэзэщIэну хуиту зэрыщымытар. Псом нэхъ зэрыдакъузэрати, бгырысхэр Мэккэрэ Мэдинэрэ хьэжыщI ягъакIуэтэкъым. Зы урыс дэфтэр гуэрым ехьэкI-нехьэкI хэмылъу итщ: «Абыхэм ныбжьэгъугъэ пэж щадэдухуэфынур Жорыр бгыхэми тафэхэми ящхьэщыдгъэувэу, мэжджытхэр КъегъэлакIуэм и тхьэлъэIупIэ хъуа нэужьщ. АпщIондэху Къэфкъазым щызетхьэ унафэм тегъэщIапIэу иIэнур Iэщэм и закъуэщ». Апхуэдэ лъэпкъ-дин зэхэгъэжым къыхэкIыу, езыхэм я унафэкIэ къэмыхъу псоми гурыщхъуэрэ IумпэмкIэ пежьэ урыс унафэщIхэм япэ махуэм щыщIэдзауэ мурид зэщIэхъееныгъэр «фанатик»-хэмрэ бзаджащIэхэмрэ зэрахьэ Iуэхуу ялъытэт». 4) Иджырей Къаншыуей е Курп Ипщэ къуажэрщ. 5) Къэбэрдей ЩIызахуэ, е Тафэ - Къэбэрдей-Балъкъэрым и ищхъэрэ-къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ, Балъкъыпсымрэ Тэрчыпсымрэ я зэхуаку дэлъ щIыпIэ. 6) Урыс генерал Марков Евгений Щамил зекIуэ зэрыдэкIыу щытар сурэт дахэу и гукъэкIыжхэм къыхощ: «МафIэм хуэдэу дэпу и жьакIэр иIауэ; адыгэ цей фIыцIэ щыгърэ и щхьэешыхьэкIыр хужьу; езым хуэдэ дыдэу пхъашафэ зытет, нэгъэсыпауэ узэда мурид лъэщхэм къаухъуреихьрэ топ уэ макъкIэ кърагъажьэу, адыгэш уардэм тес Iимамым и Iэпкълъэпкъ плIабгъуэ шэщIар Гъуниб и сэнтх джафэхэм е Ведено къыщыдэкIкIэ, псэкIэ ягъафIэ я Iимамым и цеикIэмрэ и Iэхэмрэ ба хуащIу, абы зэрыбгырыс Къэфкъазу пежьэт; муридхэр дэщIыгъуу, ягухэри я гугъэхэри зрапх я пашэр, я зауэлI хъыжьэр зекIуэ дэкIыху, абыхэм къыхидзэ къэзэуат зэчырым зэры-Къэфкъазу псэкIэ дежьут». 7) Иджы Нартан, абы щыгъуэ Къылышбийхьэблэ. 8) Кутиш – дагъыстэн къуажэ. 9) Дарго-Ведено – шэшэн къуажэ. 10) Калай, Аршты – шэшэн къужэхэщ, адыгэ Iэпхъуахэр дэсу. 11) Лапинский Теофил, «Къэфкъаз бгырысхэмрэ ахэр урыс зэрыпхъуакIуэхэм зэрапэщIэтамрэ». 12) Лапинскэр адыгэ-абазэ псоми «Абазэ»-кIэ йоджэ. 13) Дыгъужь ФуIэд а Iуэхум щыхьэт щытохъуэ ХьэтIохъущокъуэ Мыхьэмэт Iэшэ техуауэ и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэм: «Къэбэрдеипщу Абэзэхэм кIуэжахэм я пщыцIэр хыфIамыдзэу хъуакъым, абы пщырэ пщылIрэ адыгэм яIэну щадэтэкъыми. «Адыгэр адыгэщ, псори зэхуэдэу зэбгъэдэтын хуейщ», - жаIэт. Пашэхэр я лIыгъэм, я напэм, я акъылым, я зэфIэкIым хуэфэщэну къыхахт». 14) М. Сыддик Гюмюш, «Инджылыз тIасхъэщIэхым и гукъэкIыжхэр», Iистамбыл, 2002 гъэ. 15) Париж зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ хы ФIыцIэр Тыркуми Урысейми я кхъухь техьэну хуимыту «псоми я зэхуэдэу зыми имей» ящIат. 16) Тарле зи гугъу ищIыр Мухьэммэд-Iэминщ. 17) Гаирбекова Машидэт и тхылъыр зыхуигъэфэща щихъ Сэгьид-ефэнды «Бегъымбархэм я тхыдэр» и тхылъым щыжеIэ: «Лъэсыр шум щIэрыхьэнукъым. Къэзэуатыр Щамил и деж щиухащ. Абы иужь зыкъэзыIэта псоми зыри яхузыфIэкIакъым, ар дэркIэ щыхьэт наIуэщ». Чэрим Марианнэ
{ "source": "adygabza.ru", "id": "muhammadamin.txt" }
«Фольксваген» нэмыцэ фондыр и щIэгъэкъуэну, «Къэбэрдеишым и лъым и зэхэлъыкIэр убзыхунымкIэ дунейпсо проект» 20I3 гъэм щегъэжьауэ йокIуэкI. Гумбольт и цIэр зэрихьэу Берлин дэт университетым, Шы гъэхъунымкIэ урысейпсо щIэныгъэрылажьэ институтым, КъБКъУ-м зэдаубла а лэжьыгъэшхуэм и япэ Iыхьэр илъэс блэкIам иухащ. А гупыжым ипкъ иткIэ Дзэлыкъуэ щIыналъэ адыгэшым бгылъэ щIыпIэм гъуэгуанэр зэрыщызэпичыфымкIэ щызэпрагъэуат. Абы иужькIэ куэд дэмыкIыу, Франджым къыщызэрагъэпэщат адыгэш зекIуэ, а IуэхугъуитIыр зэпхауэ щымытми, нэхъ лъэрызехьэу къалъыта шищыр Франджым ирагъэблэгъауэ щытащ Каен къалэм къыщызэIуах Дунейпсо Шыгъэджэгу Зэпеуэм ирырагъэхьэлIа зекIуэм хагъэтыну. Франджымрэ Испаниемрэ я гъунапкъэм хуэзэ Баск щIыналъэм щежьэщ, Пиреней бгыхэм кIуэцIрыкIхэри, Нормандием ит Мон-Сен-Мишель бгы лъапэм деж щаухыжащ зекIуэлIхэм километр I270-рэ зи кIыхьагъ гъуэгуанэр. ХъыбарегъащIэ IэнатIэхэр а зекIуэм гунэсу тепсэлъыхьыжами, дигу къэдгъэкIыжынщ махуэ 22-кIэ якIун хуея гъуэгур ди зекIуэлIищымрэ ахэр езыгъэблэгъа Деберт Джулирэ махуэ I7-м зэракIуар, абы иужькIи зекIуэм хэта къэбэрдей щIалищыр - КIуащ Ахьмэд, Щоджэн Мурат, Батырдэгу Рустам сымэ Дунейпсо Шыгъэджэгу Зэпеуэм утыку кърашэу зэрыщагъэлъэпIар. Щоджэн Мурат зэрышууей лъэрызехьэм къыдэкIуэу зэрыжурналистым и фIыгъэкIэ, и гукъэкIыжхэм ящIыгъуу и хъуэпсапIэхэми нобэ дыхегъаплъэ. ЗэрефIэкIуэнум шэч хэлъкъым - Европэм адыгэш куэд итщ. Ахэр здэщыIэ къэралибгъум ящыщу, сыщымыуэмэ, блым адыгэш (дунейпсо терминкIэ жыпIэмэ – «къэбэрдеиш») зезыхуэхэм я зэгухьэныгъэ щолажьэ. Хэкур къапщтэмэ, дэ иджыпсту шы бжыгъэ гуэр диIэщ. Гугъущ, дауи, шы зепхуэну икIи лъапIэщ, ауэ диIэр дымыгъэкIуэду, и къабзагъэр тхузехьэмэ, зэрефIэкIуэнум шэч хэлъкъым. Шы заводхэм нэмыщI, ахэр хъарзынэу зезыхуэ унагъуэхэри щыIэщ, ауэ Iуэхур адэкIэ кIуэтэн хуейщ. Хамэ къэралми нэсын хуейщ ар. Псом хуэмыдэу рекламэ дыхуэныкъуэщ. ЗыцIыхум ецIыху адыгэшыр, зымыцIыхум къегъэцIыхун хуейщ. «Хобби» лIэужьыгъуэм хагъэхьэ ар дунейпсо зэхэдзыкIэкIи, а лъэныкъуэмкIэ къыпеуэфын зы шы лъэпкъ бгъуэтынукъым. ЖыIэдаIуэ мэхъу, тэмэму бгъасэмэ. Шы бэшэчщ. Ахэр псори ящIэ, ауэ спорт и лъэныкъуэкIэ лэжьыгъэр щIэгъэхуэбжьэн хуейщ. ШыгъажапIэр щхьэпэу пIэрэ? Ди шыгъэжапIэм адыгэшыр ибгъэхьэным фейдэ пылъу къэслъытэркъым. Япэрауэ, ар абы ибгъэхьэмэ, инджылызылъ хагъэхьэнкIи хъунущ, нэхъ жэр дощI жаIэу. Жэр хъуныр ди жагъуэкъым, ауэ ар ди плъапIэкъым дэ, и быдагъыр хъумэн хуейщ. Километри I20-I60-рэ зэпеуэхэм иджыпсту хьэрыпышращ бжьыпэр щызыIыгъыр: ахъшэшхуэ трагъэкIуадэ, рекламэфIи хуащI, ауэ адыгэшыр бгъэхьэзырмэ, абы хэтыфынущ икIи ехъулIэныгъэфIхэри къыхуэгъэлъэгъуэнущ. Дауи, шы къэс зэхуэдэкъым, къыхэхыпхъэщ, хэдапхъэщ. ЗауэлI хьэл хэлъу жыхуаIэм хуэдэу къыхэхауэ, елэжьын хуейщ. Фащэр, шыр, адыгэ шыфэлIыфэр Гъатхэ кIуам, ТекIуэныгъэм и махуэм иредгъэхьэлIэри, шу I2-м къызэхэткIухьащ Дзэлыкъуэ районыр. Дэтхэнэ Iуэхуми къалэн гуэр хуэбгъэувын хуейщ. Ауэ ущхьэрыуэу къэпкIухькIэ мыхьэнэ иIэкъым. Фащэмрэ шымрэ зэрызэкIур цIыхум едгъэлъагъуныр, ди лъэпкъ сурэтымкIэ цIыхур къыдэтхьэжынырт ди мурадыр, сабийхэм деж щыщIэдзауэ нэхъыжьхэм я деж нэсыжу. Ар къыдэхъулIауэ къысщохъу. Абы иужькIэ мис мы бжьыхьэ кIуами Бжьэдыгъукъалэ (Краснодар) и Iэгъуэблагъэм дыщызекIуащ. Шэрджэс шууищ, къэзакъ гуп, адыгей шууитI, Мэзкуу, Бытырбыху щыщ шууейхэри къытхэтащ. Аникеевым и цIэр зезыхьэ адыгэ шы заводым и деж дыщежьэри къызэхэткIухьащ Краснодар крайр - псоми адыгэ фащэ тщыгъыу, адыгэш дытесу, гупышхуэ дыхъуу дыхэтащ «Кавказым мамырыгъэ щыIэн папщIэ» зыфIаща проектым. ХъуэпсапIэхэр, аргуэру хъуэпсапIэхэр… Гупыжхэр ди куэдщ, мурадыр нэхъыбэжщ. Сэ езым, псалъэм папщIэ, ди къуажэм (Къармэхьэблэ) пэгъунэгъуу «Шы спортым щыхуагъасэ еджапIэ» къыщызэIусхыным сыщIохъуэпс. ИтIанэ - клубым хуэдэ гуэр, адыгэм къыдекIуэкIыу щыта хабзэхэр, шым пыщIа IэщIагъэхэр, шыгъэджэгухэр къэтщIэжын, сабийхэр дедгъэхьэхын папщIэ. Апхуэдэ IухущIапIэхэм щызэбгъэщIэфынухэм я щапхъэхэм ящыщу къэбгъэлъагъуэмэ, япэм шыр аркъэнкIэ къаубыду щытащ. Махуэ къэс къыумыубыдми, а IэщIагъэр бгъэкIуэд хъунукъым, яхуэдзу щытын хуейщ, нэхъ тэмэму жыпIэмэ, зыхуэдз щыIэн хуейщ. Шыр ягъэIэсэу, занщIэу уанэ тралъхьэрэ шэсу щытащ. Иджыпсту аркъэн зыхуэдзу цIыху куэд бгъуэтыжынукъым, ауэ щыIэщ, мащIэми. Абы щIалэ цIыкIухэр егъэхъуэпсэн хуейщ. КъинэмыщIауэ, фэм елэжьыным, уанэ щIыным пыщIа IэщIагъэхэр бгъэкIуэдыж хъунукъым. Адыгэ щIыкIэу ямыщIми, кIуэдыпэнукъым ар, ауэ адыгэр а фэм зэрелэжьу щытар ди тхыдэщи, ди нобэуи щытыпхъэщ. И уасэр нэсу зыхэтщIэжыркъым ХакIуэу диIэхэр гъатхэми бжьыхьэми ирехъу, дгъэлъэгъуэн хуейщ. Япэм зэфIэлъыкIэм, и хьэлым теухуауи къыхахыу щытащ шыр. Шы зезыхуэхэм къызэрагъэщхьэпэну лъэныкъуэр ящIэу, зыхуейм хуэдэ къыхахыфу щытын папщIэ, утыку ишапIи, ишэгъуи щыIапхъэщ. Е къищэхунщ, е пIалъэкIэ пщIэкIэ къыIихынщ, зэрахъуэжынщ. Шы бэзэр, «аукцион» жыхуаIэм хуэдэ, зэхэдублэн хуейщ. Псалъэм папщIэ, мы гъэм къалъхуа шыщIэхэр пщэну, дуней псом хъыбар ебгъащIэ хъунущ. НэхъыфIыр уасэ тэмэмкIэ пщэнщ, къызэрагъэщхьэпэнум теухуауэ. Псом нэхърэ нэхъыщхьэращи, шыхэр щыдгъэунэхун щIыпIэ хэха дыхуейщ. Ди шыгъэжапIэр абы хуэщIакъым. Япэрауэ, абы шыр итшэмэ, жэрагъым дыкIэлыжэн щIэддзэнущ, абы ди шыр зэIигъэхьэнущ. Адыгэшыр зыхуэщIар шыгъажэ закъуэракъым. Ахэр нэрылъагъу зэрытщIын Iэмалхэр, шыхэр зэрытшэн, ахэр щызетхуэн, щыдгъэунэхун утыку - ахэр димыIэу хъунукъым. Шым и пщIэр нэхъри Iэтын хуейщ. НыбжьыщIэхэр дауэ зэребгъэсэнур лIыгъэ яхэлъу, лъэпкъыр фIыуэ ялъагъуу, атIэми адыгэм нэхъыфI дыдэу къыдекIуэкI адыгэшыр ямыцIыхуу?! Адыгэшыр зауэшу къекIуэкIащ, хэкур пхъумэжынымкIэ щIэгъэкъуэн пэж хъууэ. Пасэ зэманым емыкIуу ялъытэу щытащ адыгэш къэбгъанэу хамэш зепхуэну. Нобэ утыку ямыщIми, къэралым щызэрахуэ шы лъэпкъхэм ящыщ куэд адыгэшым къытращыкIащ. Дуней псом шы лъэпкъитI-щы тету аращ, лъэпкъыцIэ зэрихьэу, ар уиIэным и уасэр дэ нэсу зыхэтщIэжыркъым.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "murat.txt" }
«Къэбэрдейр епщыкIуиянэ лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм» Дыгъэгъазэм и I7-м Къэбэрдей-Балъкъэр университетым и ЩIэныгъэлIхэм я хьэщIэщым лъэтеувэ щыхуащIащ адыгэ тхыдэ щIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэ фIыуэ щацIыху Нало Евгение Жамырзэ и пхъум и IэдакъэщIэкI «Къэбэрдейр епщыкIуиянэ лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм» тхылъым. Гуманитар щIэныгъэхэмкIэ институтым и жэрдэмкIэ дунейм къытехьа тхылъым и къыдэкIыгъуэр ирагъэхьэлIащ а тхыдэтх, егъэджакIуэ гуащIафIэр илъэс 95-рэ щрикъу махуэм. Тхылъым ихуа дэфтэрхэри, пэублэри, гу зылъытапхъэхэри зыгъэхьэзырар тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Мэрзей Аслъэнщ. НапэкIуэцI щищым щIигъу тхыдэ лэжьыгъэ щызэхуэхьэса къыдэкIыгъуэм ихуащ щIэныгъэрылажьэм адыгэ тхыдэм, псом хуэмыдэу Къэбэрдейм, теухуауэ и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэ куэд, абыхэм зэи къытемыхуахэри яхэту. И гъащIэ гъуэгуанэм и Iыхьэ щхьэпэхэр пэублэм щыщ пычыгъуэ Нало Жамырзэ ипхъу Евгение дэфтэрхэм зэритымкIэ I920 гъэм дыгъэгъазэм и 20-м КъБАССР-м и Аруан районым хэхьэ Хьэтыуей (Старэ Урыху) къуажэм Нало Жамырзэрэ (Къубатий и къуэ) Нало (Мэрзей ХьэтIохъущыкъуэ ипхъу) Хьэжгуащэрэ я унагъуэм къыщалъхуащ. А зэманым дэфтэрхэм сабийр дунейм къыщытехьэ махуэр пэжу иратхэу щытакъым, ауэ, Евгение и анэм зэриIуэтэжамкIэ, хъыджэбз цIыкIур къыщалъхуа махуэр чыристанхэм я IутIыжым техуат. I920 гъэм IутIыжыр зытехуар мэлыжьыхьым и II-ращи, абы ипкъ иткIэ ар хъыджэбз цIыкIур къыщалъхуа махуэу плъытэ хъуну къыщIэкIынщ. Налохэ я унагъуэр унагъуэшхуэт икIи къулейт. Абы исхэт: адэ Жамырзэ (I875 гъэ), анэ Хьэжгуащэ (I883 гъэ); япхъухэу Лейлэ (I909 гъэ), Нэфо (I9II гъэ), Фэрдоус (I9I8 гъэ), Евгение (I920 гъэ); я къуэхэу Аслъэнджэрий (I907 гъэ), Адэлджэрий (I922 гъэ). Унагъуэм иджыри сабий ибжанэ исащ къэмыхъуу дунейм ехыжахэу. Адыгэхэм сабийм фIащ цIэ дыдэм нэмыщI, цIэ леи хуащI я хабзэщ. А цIэмкIэ нэрыбгэр къацIыху благъэхэм, унагъуэм, къуажэдэсхэм. Куэдрэ къохъу цIыхум зы цIэ къудей мыхъуу, цIитI, уеблэм цIищ щызэрихьэ. Налохэ я унагъуэри апхуэдэт. Жамырзэ унагъуэми благъэхэми я дежкIэ Бузэт, Хьэжгуащэ – Зизэт, Аслъэнджэрий – ТIитIэт, Адэлджэрий – ПIытIэт икIи Iэдэт, Фэрдоус – ТинэкIэ къеджэт. Евгение къыщалъхуам Жанкъудас къыфIащауэ щытащ, ауэ дэфтэрхэм зэрихуа цIэр Евгениещ, унагъуэм къызэрыщеджэу щытар Блаут. Хъыджэбз цIыкIур сабий кIасэти, ара къыщIэкIынщ адэм и гулъытэ лей къыщIылъысар. Ар дунейм къыщытехьам Жамырзэ Хьэту-Анзорей къуажэ сельсоветым и унафэщIу икIи ревкомым и председателу щылажьэт. I929 гъэ пщIондэ, и адэр япэу ягъэтIысыху, Евгение Хьэтыуей (Старэ Урыху) къуажэм щеджащ. I929 гъэм Нало Жамырзэ Къубатий и къуэр РСФСР-м и Уголовнэ хабзэм и 58-I0 къуаншагъэм ипкъ иткIэ хьэпсым ирадзэри I930 гъэм щIышылэм и 29-м унафэ къыдэкIащ ар «илъэсийкIэ хьэпсым щаIыгъыну, унагъуэр Ищхъэрэ крайм (Северым) ягъэIэпхъуэну, я мылъкур трахыну». Гъатхэпэ мазэу Налохэ я унагъуэм и мылъкур трахри, уэс джафэм щыпсэуну хаутIыпщхьауэ щытащ…
{ "source": "adygabza.ru", "id": "nalo.txt" }
Сосрыкъуэ и пшыналъэм и къедзыгъуитI ХьэтIохъущокъуэ Къазий итхыжауэ Тифлис, I864 гъэ I Армэ СосрыкъуапцIэ, Армэ лIы фIыцIэ гъущIынэ, Мыдэ емынэ шу, Нарт шухэр щышэсым, Сосрыкъуи къакIэрыхущ; Жэщибл-махуибл уаеми нызэрищIэкIщ, Нартыжьхэри бгъэпIыщIэщ; Уэ езыхэри нызэупщIыжщ: Уэ, Имыс, мафIэ уиIэ? Уэ, Сосым, мафIэ уиIэ? Жьынду ЖьакIэ, мафIэ уиIэ? Арэкъшэу, мафIэ уиIэ? Уэзырмэдж, мафIэ уиIэ? Ашэм и къуэ Ашэмэз, мафIэ уиIэ? Хъымыщ и къуэ Батырэз, мафIэ уиIэ? Сыбылши, мафIэ уиIэ? Албэч и къуэ Тотырэш, мафIэ уиIэ? Нартыдзэуэ ежьам МафIэ зиIэ къахэкIакъым; Анэм и къуитIри тхьэусыхащ: «Дэ дымыделэтэмэ, Сосрыкъуэ зыхэмытым Дэри дакъыдежьэнтэкъым»,- Ар жаIэурэ здэщытым, Сосрыкъуи къэсащ; «Мыри ди дыщэ лъэужьщ, Армэ ди лIэужьыфI, МафIэ щхьа дызэтолIэ». «Айхьай, сэ сиIэ»,-жиIэри, МафIэ инуэ къахуищIащ; Дзэ псори щызэдэкIуэм, Сосрыкъуи къагъэгубжьщ: МафIэр зэхидзри, Псым хидзэжщ; Уэ нартыжьхэр МафIэншэуэ къыщынэм: «Армэ ди Сосрыкъуэ, Мыдэ ди дыщэ лIэужь, Армэ ди лIэужьыфI, МафIэ уиIэм, къытхуэщI»,-жаIэри, Мыр етIани къеулъэIу; «Уащхъуэ къан, симыIэ, СимыIэми, фхуэсщIынщ», - жиIэри, И Тхъуэжьейм зридзри, ХьэрэмэIуащхьэ докIуейри зеплъыхь: Зы чэщанэ къуагуэжьым Iугъуэ тIэкIу кърихууэ Сосрыкъуи къилъагъущ; Лъэс зищIри къекIуасэщ; Ар Иным и унэщ, И щхьэмрэ и лъэмрэ зэгъэкъуащ, МафIэр и кум илъыжщ; Уэ, Инри мэжей. Сосрыкъуи къэкIуэсэжщ, Ар и шым къеупщIыжщ: «Мырмэ си Тхъуэжьей ажэ, Жэрхэр зыщIэмыхьэж, Мыр Иным и унэщ, И щхьэ-илъэ зэгъэкъуащ, МафIэр и кум илъыжщ, Уэ, Инри мэжей, МафIэр сыткIи фIэтхын, жи». «Армэ, СосрыкъуапцIэ, Армэ, лIы фIыцIэ гъущIынэ, Мыдэ емынэ шу, Сэ си щIыб къэшэс, Сэ си шы лъэ макъым Хьэ лъэ макъ зезгъэщIынщ; Сэ си хьэ лъэ макъым Джэду лъэ макъ зезгъэщIынщI; Хуэлъэ-фIэлъи зизгъэуэнщи, Зы пхъэ дзакIи къэддыгъунщ». Сосрыкъуи къошэс, Мыр чэщанэм къекIуалIэри, Зы пхъэдзакIи къадыгъущ; Жэщибл-махуибл къажауэ, Зы пхъэдзакIи къакIэрыхущ, Иным и куафэ трихьащ, Уэ Инри къызэщыури, И пхъэдзакIэхэр къибжыжри, Зы пхъэдзакIи къыхуэтщ. «Си адэм кърахьэкIащэрэ, Хэтхэ я бзаджэ къызэдыгъу», - жеIэри, Здэщысым, мыхъейуэ, Гъуэгущхьибл къызэпиIэбыхьри, Къеубыдыж жэщибл-махуибл жар. «Уэ нартхэ я щауэ, ЦIынэугуэрэ усшыхынкъэ, Сосрыкъуэ здэщыIэ къызжумыIэм». «Сосрыкъуи слъэгъуакъым, И хъыбари зэхэсхащ, ЗдэщыIи схуэмыщIэ». «ЗдэщыIэ пхуэмыщIэми, И джэгукIэ сыгъащIэ». «Айхьай, и джэгукIэ уэзгъэщIэн»,- ЖиIэри, уэ Инри къришажьэщ,- Сосрыкъуэ жыхуаIэм Къапщыкъай лъапэ къагъэувырти, Абрэмывэ кърагъэжэхырти, НатIэпэкIэ пэщIэуэрти Нэхъ хуабжьыхэуэ дрихуеижырт». «Сэри агуэ сэгъэщI»,- жи. Сосрыкъуи дэжейри, Абрэмывэ къригъэжэхщ, НатIэпэкIэ, пщIэури, Нэхъ хуабжьыхэуэ дрихуеижщ, Пхэ хьэмбытIи къригъауэщ; Уэ Иныр къызэщыужри: «Мыри джэгукIэ щIагъуэщ, Нэхъ щIагъуэ пщIэми сыгъащIэ, НатIэпэ ихъу-ибжь иреху»,- жи. Сосрыкъуэ Тхьэм иукIщ, Иным и укIыкIэ хуэмыщIэ. «Нэхъ щIагъуи уэзгъэщIэнщ»,- жиIэри Уэ Инри къришажьэщ,- Сосрыкъуэ жыхуаIэр Лъэгуажьэмыщхьэуэ къагъэтIысырти, Шэ хужьуэ шэ щэщIхэр Жьэдэз хъуху жьэдадзэрт, Шащхьэр фIигъэныщкIукIырти, ШэкIэр къызжьэдидзыжырт». «Сэри агуэ сэгъэщI»,- жиIэри Уэ Иныжьыр къэтIысщ; И жьэ къригъэущIри, Шэ хужьуэ шэ шэщIхэр Жьэдэз хъуху жьэдидзэщ. Шащхьэр фIигъэныщкIукIри, ШэкIэр къызжьэдидзыжщ. «Уэ нартхэ я щауэ, Мыри джэгукIэ щIагъуэщ, Iу кIуэцI ихъу-ибжь иреху, Нэхъ щIагъуэ пщIэми сэгъащIэ». Сосрыкъуэ Тхьэм иукIщ, Иным и укIыкIэ хуэмыщIэ. «Нэхъ щIагъуи уэзгъэщIэнщ,- жи, - Сосрыкъуэ жыхуаIэм И жьэ къиущIырти, Вабдзэ, фIэбз къигъэплъырти, Жьэдадзэрти, и ныбэ щигъэупщIыIурти, И щIыбкIэ къызжьэдидзыжырт». «Сэри агуэ сыгъэщI», - жи. Вабдзэ, фIэбз къигъэплъри, Уэ Иныжьым и жьэм жьэдидзащ; И ныбэм щигъэупщIыIури, И щIыбкIэ къызжьэдидзыжщ, «Уэ нартхэ я щауэ, Мыри джэгукIэ щIагъуэщ, Нэхъ щIагъуи сыгъащIэ». Сосрыкъуи Тхьэм иукIщ, Иным и укIыкIэ хуэмыщIэ. «Щыт, щыт, Иныжь, Зы джэгукIи къэнащ. Сысрыкъуэ жыхуаIэр, Хы къуэпсибл зэпрашырти, А нэхъ куум хагъэувэрт, И лъэр щIым нэмысуэ, И жьэм псы жьэдэмыуэуэ Жэщибл-махуиблкIэ хагъащтхьэрти, КъеIэм, - къыхэкIыжырт». «Сэри агуэ сыгъэщ», - щыжиIэм, Уэ Иныжьри хигъащтхьэщ. «КъеIэ иджы», - щыжиIэм, Уэ Иныжьыр къыздеIэм, И мылхэр къигъачэщ, «Щыт, щыт, Иныжь, Iэбжэ-набжэ гъэбыдащи, Зэрубыдым пщхьэпэнщ», - жиIэри ПсыщIэгъэлъадэ къыхуищIри, Нэхъ быдэуэ хигъэщтхьащ. «КъеIэ иджы, - щыжиIэм, Уэ Иныжьым: «СеIэ щхьа, Сыхъужыртэкъым», - жи. Мыр и джатэ кърипхъуэтри, Сосрыкъуэ телъадэщ. «Ыф»,- жиIэри, къыщепщэм, ШэджагъуакIуэ къригъэхьщ, Дамэ тетти нэсыжщ, Уэ и джатэ кърихри, Щхьэ фIихынуэ щыхуекIуэм: «Сэри сымы-Иныжь делэтэм, Уэри узэры-Сосрыкъуэр Уи лъэкIампIэкIэ усцIыхупхъэт». Иным и щхьэ къыфIихри, МафIэри къихьри къэкIуэжщ. Нартыдзэуэ къызыхуэкIуэжар Зэтепщхьэри, Хэт щIыIэм игъэлIащ, Хэт хуабэм игъэлIащ, Яку дэлъуэ къэна тIэкIу МафIэр инуэ яхуищIщ, ИтIанэ хъунщIэри куэдуэ къаригъэщIри, Уэ я дежи къишэжащ Сосрыкъуэ. Сосрыкъуэрэ Иныжьымрэ Зытхыжар Къэрмокъуэ Хьэмидщ Армэ СосрыкъуапцIэ, Армэ лIы фIыцIэ гъущIынэ, Мыдэ емынэ шу! Нарт шуудзэр щышэсым Сосрыкъуэ емыджэ. Уае бзаджэ къатохъуэри Гъуэгущхьиблым къытонэ. - Уий, Имыс, мафIэ уиIэ? - Уий, Сосым, мафIэ уиIэ? - Жьынду ЖьакIэ, мафIэ уиIэ? - Арыкъшу, мафIэ уиIэ? - Уэзырмэс, мафIэ уиIэ? - Ашэм и къуэ Ашэмэз, МафIэ уиIэ? - Хъымыщ и къуэ Батэрэз, МафIэ уиIэ? - Албэч и къуэ Тотрэш, МафIэ уиIэ? …МафIэ зиIэ нарт шухэм, Уий жыIэт, къахэкIкъым. Абы хэту Сосрыкъуэ Нарт шу гупым хошасэ. - Армэ ди дыщэ лIэужь, Армэ ди лIэужьыфI, МафIэ щхьэ дызэтолIэ! - ФызгъэлIэнкъым!- Сосрыкъуэ Нартхэ мафIэ къахуещI, Жьыбгъэм мафIэр хепхъэж. - Армэ ди Сосрыкъуэ, Армэ ди лIэужьыфI, МафIэ щхьэкIэ догъалIэ! …Тхъуэжьеижьым зредзри Сосрыкъуэ йожьэж. Хьэрэмэ Iуащхьэ дэжеймэ, Зы чэщанэ къелъагъу: Iугъуэ мащIэ къреху. Чэщанэжьым ныхуэкIуэм, И щхьэ - и лъэ зэтауэ Зы иныжьи мэжей. - Армэ ди Тхъуэжьеижь, Мыр иныжьым и унэщ, И щхьэ – и лъэ зэтащ, МафIэр и кум илъыжщ, МафIэр сыткIэ фIэтхьын? - Армэ СосрыкъуапцIэ, Армэ лIы фIыцIэ гъущIынэ, Армэ емынэ шу, Хьэ лъэ макъ зысщIынкъэ, Джэду хуэдэ секIуэнкъэ: Чэщанэжьым дыдэпкIэм, Зы пхъэдзакIэ къэпхъуатэ! …Чэщанэжьым щыдэпкIэм, Зы пхъэдзакIэ къипхъуатэщ, Зы теуэгъуэ къикIуауэ МафIэ дэпи пылъэтщ, МафIэ дэпыр иныжьым И нэщIащэм ихуэжщ. И пхъэдзакIэр ибжыжмэ, Зы пхъэдзакIэ къыхуэтщ. - Си адэм ураухьэкIи! Хэт и бзаджэ си дыгъу? …Iэбэрабэщ иныжьри Гъуэгущхьиблым нэсауэ Зы шу цIыкIуи Iэрыхьэщ. - УитI, нартхэ я щауэ, ЗэрыцIынэу усшхынкъэ! Сосрыкъуэр уэрамэ, Тхьэм укъызитащ! - Сосрыкъуэр сэракъым, И хэщIапIи сымыщIэ! - Сосрыкъуэ жыхуаIэм И джэгукIэу зы сощIэ Сосрыкъуэ жыхуаIэр Iуащхьэ лъапэм тоувэ, Бгыщхьэм итщи, нартыжьхэм Абрэмывэ къыхуадз, Сосрыкъуэ натIэпэкIэ Мывэр бгыщхьэм дехуж. - Хъункъэ ари джэгукIэ! Къегъэжэхыт зы мывэ! …Бгыщхьэм йохьэ Сосрыкъуэ, Абрэмывэ къеутIыпщ, Мывэр бгыщхьэм дехужри Иныжь ябгэр мэгубжь: - Мыр джэгукIэ щIагъуэщ, Нэхъ щIагъуэжи къызжеIэ! …Сосрыкъуэ тхьэр къеуэщ: И укIыкIэр хуэмыщIэ! - Сосрыкъуэ жыхуаIэм Шащхьэ-шаер жьэдадзэ, Шащхьэр егъэныщкIури ШэкIэр къызыжьэдедзыж. …Шащхьэ-шаер Иныжьым ЕгъэныщкIури мэубжьытхэ: - Ари джэгукIэ щIагъуэщ, Нэхъ щIагъуэжи къызжеIэ!.. …Сосрыкъуэ тхьэр къеуэщ: И укIыкIэр хуэмыщIэ! - Сосрыкъуэ жыхуаIэм Вабдзэ плъари жьэдедзэ, И лъатэм щегъэупщIыIури Вабдзэр къызыжьэдедзыж. - Гъэплъи, къэдзыт зы вабдзэ – Сыкъеплъыни джэгукIэм! …Вабдзэ плъар жьэдедзэ: И кIуэцIым щызэрегъажэри Вабдзэр къызыжьэдедзыж: - Ари джэгукIэ щIагъуэщ, Нэхъ щIагъуэжи къызжеIэ! …Сосрыкъуэ тхьэр къеуэщ: И укIыкIэр хуэмыщIэ! - Сосрыкъуэ жыхуаIэм И джэгукIэу мыр сощIэ: Хы къуэпсиблыр щызэхэуэм Сосрыкъуэ хоувэ. Уае иращIэкIри Сосрыкъуэ хагъащтхьэ, Мылыр дамэкIэ къекъутэри Сосрыкъуэ къафIыхокIыж. - Ари хъуни джэгукIэ! – Хым хоувэ иныжьыр. Уае-псаер трещIэ, Хым хегъащтхьэ иныжьыр. - КъеIи, мылыр пхуэкъутэм, Сыкъегъэплъыт иныжьым! …Мылым къоIэ иныжьыр: - Хъуакъым, хъуакъым! – жреIэ. – Мылыр мыджэмыпцIэщ, Мылыр зэпцIагъащIэщ! …Жэщибл –махуиблкIэ Иныжьыр хигъэщтхьащ. - КъеIэ! – жиIа щхьэкIэ, Мылыр хуэкъутакъым: Хым иубыдщ иныжьыр! И щхьэр фIихын щыхуежьэм, Иныжьыр къэпыхьащ: - Ай, СосрыкъуапцIэ! Ай, емынэ шу! Узэры-Сосрыкъуэ, Сымыделэтэмэ, сщIэнт! Ай, лъэнкIапIэ Iушэ, Ай, жэмыхъуэрылъху! Мыр джэгукIэ хъуакъым! - Куэд жыпIэнущ иныжьым! – И щхьэр къыфIихащ, МафIэр къихьри нартхэ Къахэпсыхэжащ. Дзэ зыIумысыж уэрэд Къэбэрдейхэр мы уэрэдым зэреджэр «Дзэ зыIумысыж уэрэдщ», абы къикIыр «уэрэдыжь дыдэ» жыхуиIэщ. Мы уэрэдым къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъэхэр тхыдэм зыщIыпIи иткъым. КъардэнгъущI Зырамыку Нартыжь уэрэд Дунеижьри, уой жи, щымыджэмыпцIэмэ, ЩIылъэ щхъуантIэри, уой дуней, щызэпцIагъащIэмэ. Уар, ди уафэри, уой дуней, хъыкIэ щаухуэмэ, А зэманымэ, уой дуней, сыгущэхэлът. Уар ди щIылъэри, уой дуней, мэлкIэ щаубэмэ, А зэманымэ, уой дуней, сышкIахъуэ щIалэт. Индылыжьымэ, уой дуней, щIалэр щебакъуэмэ, А зэманымэ, уой дуней, сылIыныкъуэфIт сэ. Бещто Iуащхьэри, уой дуней, къандзэгу щыхуэдэмэ, А зэманым, уой дуней, сылIы зи IэфIыгъуэт. Бещто мэзри, уой дуней, щымыч-мыбжэгъумэ, А зэманымэ, уой дуней, сылIыныкъуэтхъут. Къаз и губгъуэ, уой дуней, дыщызэдихьэмэ, ЩхьэкIуиери, уой дуней, къысхубогъакIуэ. Уар, ЩхьэкIуиеурэ, уой дуней, къысхуэбгъэкIуамэ, Уар, а махуэмэ, уой дуней, сигъэтхъупат. Дунеижьымэ, уой жи, батэр щагъэшри, Дзэр зезышэри, уой дуней, ди аужь имыкIи. Си джатэжьурэ, уой дуней, хьэщхьэрыIуэдзэ, И дзэпкъитIымкIэ, уой дуней, лъыхэр йожэхри. Псыежэхымэ, уой дуней, сызэпрыплъмэ, Кхъухь фIыцIэжьхэри, уой дуней, къызэпрахури. Кхъухь фIыцIэжьурэ, уой дуней, къызэпрахумэ, Дзэ фIыцIэжьхэри, уой дуней, къызэпрешри. Дзэ фIыцIэжьурэ, уой дуней къызэпришымэ, Ар дзэщхьищкIэрэ, уой дуней, зынаузэщIри. Дзэр зезышэурэ, уой дуней, ТIотIрэш ябгэ, А зэманымэ, уой дуней, ди аужь имыкIи. ХъымыщыкъуэкIэ, уой дуней, ди Батэрэзри, А зэманымэ, уой дуней, ди дзэгъэшынэти. Уар, и пащIэри, уой дуней, хуэжэрумиблти, Езы гущэмэ, уой дуней, пылыпкъыр хэлът. Хьэдрыхэмэ, уой дуней, лъыхэр щIаушэ, ЩIы фIыцIэжьымэ, уой дуней, сыщIозэшыхьри. ЩIы фIыцIэжьыри, уой дуней, къызэгуэстхъынути, Дунеижьымэ, уорэдэ, сытехьэжынут сэ. Албэч и къуэри, уой дуней, си пэбг имыхти, Мыр и бжыкIымкIэ, уой дуней, сынреIулIри. ЛIыгъэр зи фIыщIэр Зытхыжар Къэрмокъуэ Хьэмидщ ЗекIуэм хэтурэ, Уэзырмэс цIэрыIуэ хъуащ, лIыгъэшыгъэкIэ къыпэхъун ирихьэлIэркъым. Гъуэгу техьэмэ, шу пашэщ: гъуэгум щыгъуазэщи, и гъусэр щигъэгъуащэ къэхъуркъым. Унэм къихьэмэ, и унэр хьэщIэ кIуапIэщ – шыгъупIастэкIэ ущIыхьэнукъым. ЦIэрыIуэ щыхъум, жагъуэгъуи игъуэтащ. - И унэ исыращ псори зи фIыщIэр: и унэ исыр мыхъуамэ, апхуэдэ лIыгъэ къыкъуэкIынутэкъым,-жари ирахьэжьащ Уэзырмэс и жагъуэгъухэм. Уэзырмэс ар щхьэкIуэ щыхъуащ. И унэм ихьэжри и щхьэгъусэм жриIащ: - Си унэ уисыж хъунукъым афIэкIа: дызыбгъэдэкIыжын хуейщ. - Сыт къэхъуар? Уигу сыткIэ зэзгъэбгъа? - Къэхъуаи щыIэкъым, си гуи нобгъакъым,- жиIащ, Уэзырмэс. – Си лIыгъэр зыщалъагъур уи дежщ. Уэр мыхъуамэ, схузэфIэкIын щымыIэу жаIэ си жагъуэгъум. - Абы щыгъуэм сыт сщIэн? – жиIащ унэгуащэм. – Дызэдэпсэу щымыхъужынукIэ, си дыщым сегъэшэж. - Уигу нэхъ пымыкIымрэ уи нэ нэхъ къыфIэнэмрэ уи Iыхьэщ – сызэблэн щыIэкъым: гур зэщIегъащIи, дэш. - Хъунщ,-жиIащ унэгуащэм. – Зы закъуэкIэ сынолъэIужынущ: уи ныбжьэгъухэм къеджи, фадэ-пIастэ Iэнэ къахуэзгъащтэ – ягу фIыкIэ сыкъинэнщ. Уэзырмэс и ныбжьэгъухэр къриджащ, и щхьэгъусэм фадэ-пIастэ Iэнэ къахуищтэри жэщищ-махуищкIэ игъэхьэщIащ. Жэщищ-махуищкIэ щысауэ, Уэзырмэс и ныбжьэгъухэр унэм икIыжащ, езыр, Iэнэм бгъэдэсурэ улэуати, Iурихри жейм хилъэфащ. И щхьэгъусэр жейм щыхилъафэм, унэгуащэм гур зэщIригъэщIащУэзырмэс зэрыжейуэ гум ирилъхьэри гъуэгу тришащ. Гъуэгу здытетым, Уэзырмэс къызэщыужащ. - Дэнэ сыпшэрэ, унэм щхьэ сыкъипща? – еупщIащ и щхьэгъусэм. - Уигу нэхъ пымыкIымрэ уи нэ нэхъ къыфIэнэмрэ здиш унэм къызжепIа? - БжесIащ. ЖысIам сыхущIегъуэжакъым. - УхущIемыгъуэжамэ,- жиIащ Уэзырмэс и щхьэгъусэм,- сигу нэхъ пымыкIри си нэм нэхъ къыфIэнэри уэрати, унэм укъисшащ. Уэзырмэс къызэфIэтIысхьэжри, гущхьэIыгъым еджащ: - Нэгъэзэж. Мыбы лажьэ иIэкъым. Лажьэ зиIэр сэращ – жагъуэгъум сагъэжэкъуащ. Игъэзэжри, Уэзырмэс и унэгуащэр и унэ иришэжащ. Ашэмэзрэ нартхэ я Дыгулыпхъурэ Зытхыжар Къэрмокъуэ Хьэмидщ Нартхэ я Дыгулыпхъу псыхьэ ежьауэ зы шу кърихьэлIащ. Шум и гъуэгур зэримыупщIын щхьэкIэ, Дыгулыпхъу къэувыIэри гуэгуэныр иригъэувэхащ. Шур къэсмэ – Ашэ и къуэ Ашэмэзт. Дыгулыпхъу зэрыIуэрыIуэдзыр ищIэрт Ашэмэз. «Мыбы зыгуэр жезгъэIэнщ»,-жери, Дыгулыпхъу деж къыщысым, Ашэмэз шыр къыжьэдикъуащ. Дыгулыпхъу къеплъри, Ашэмэз и бзэгупэ япэ къыдэшэсеямкIэ къеупщIащ пщащэм: - Нартхэ я Дыгулыпхъу, мыбыкIэ шы блахуу умылъэгъуауэ пIэрэ? Шы солъыхъуэ. Ашэ и къуэр шы зэрымылъыхъуэр къыгурыIуащ нартхэ я Дыгулыпхъу. «Сигъэпсэлъэн щхьэкIэщ къыщIызэупщIыр»,-жиIащ игукIэ, итIанэ мыр къыжриIащ Ашэ и къуэ Ашэмэз: Нэхущ вагъуэр къыщыщIэзым Си бжэ дазэр зэIузри ТепIэн дазэм сыкъыдэплъщ: ПщIэгъуалэр сокупцIэ-сокупцIэу, ПцIэгъуэплъыр сокупцIэ дамыгъэу, Къарэр блатхьэхурэ Зыхури псыпцIэм хэнауэ, Ижьырабгъу куашэу, Шэсырабгъу сокуу, КIуэрэ-кIуэрэ ущыжу – Апхуэдэ гуэрым Уи адэм и шыр ихуащ. А слъэгъуам укIэлъымыкIуэ, А слъэгъуам укIэлъымыжэ. УкIэлъыжэми, ущIыхьэнукъым. УщIыхьэми, упэлъэщынукъым. Нартхэ я Дыгулыпхъу апхуэдэ псалъэ къридзын и гугъакъым Ашэмэз. Сыт жиIэжынт Ашэ и къуэм? Пидзыжын щимыгъуэтым, Дыгулыпхъу еупщIащ: - А псор пщIэуэ, дапщэщ укъалъхуа уэ дахэр? – жери. Нартхэ я Дыгулыпхъу абыи хуэщIати, мыпхуэдэ жэуап къритащ Ашэ и къуэм: Къау-къау щыкъакъэу, Къау-къау щыкIэцIу, Къаз анэ щыгъуалъхьэу, ПщIэгъуалэ щыгупкIэу, ГупкIэ мэш къыщахым – А лъэхъэнэм сыкъалъхуащ. - Iэу! Iэу! – жери Ашэмэз и нэр къихуащ. – Дэнэ укъыщалъхуар? – жиIэу къеупщIа фIэкI, нэгъуэщI игъуэтыжакъым. Нартхэ я Дыгулыпхъу, и Iэр псыхъуэмкIэ ишийри, жиIащ: - Мо унэ хужьым – хьэ хужьыбэ зыIулъым – сыкъыщалъхуащ. Ашэмэз и щхьэр иригъэкIэрэхъуэкIри блэкIащ. Ашэмэз щыблэкIым, нартхэ я Дыгулыпхъу, гуэгуэныр и дамащхьэ тригъэувэжри, псыхъуэм дыхьащ, псыхьэ ежьати. Зэшищым я шыпхъур Зытхыжар Къэрмокъуэ Хьэмидщ Бэдынокъуэ гъуэгу здытетым жэщ къытехъуэри псы Iуфэ щепсыхащ, и шыр илъахъэри уанэр пIэщхьагъ ищIауэ здэщылъым, шы лъэ макъ зэхихащ. КIыфIым хэплъэри, шууищ къызэрыкIуэр илъэгъуащ. «Ягу илъыр сщIэркъым – щхьэ закъезгъащIэрэ?» - жери Бэдынокъуэ кIыфIым хэуващ. Шууищыр къэсащ, псы Iуфэм къыIухьэри, шым шхуэIур жьэдахащ. Шыр псы ирагъэфэху, Бэдынокъуэ шууищым якIэщIэдэIухьащ. - Ди шыпхъум и закъуэ къиднащ унэм,-жиIащ зым. Дгъэзэжыху, яхьынкIэ сошынэ. - Хьищэрэ бгъищэрэ дэлъщ ди пщIантIэ – хэт хуэхьын? – къыпидзыжащ етIуанэм. Ещанэм и псалъи зэхихащ: - Хэт игу къэкIын? Мэлыфэ яхуомыдзауэ, бгъищэм уазэрыхэзэгъэн щыIэкъым, хьищэми ублагъэкIынукъым, мэлыщхьэ яхуомыдзмэ. ДыщIэшынэн щыIэкъым. Зэхихам егупсысурэ, Бэдынокъуэ нэху игъэщащ. Шууищым зи гугъу ящIар пщащэ цIэрыIуэт, къыщIэупщIэми иратыртэкъым, яхьынуи зыхузэфэкI къыкъуэкIыртэкъым. Бэдынокъуэ зрихьэлIа шууищыр пщащэм и дэлъхут, мафIэр къаIуролъэлъ жыхуаIэм хуэдэти, зэшищыр унэм исмэ, езыкун щыIэтэкъым, зэшищыр унэм икIмэ, хьищэмрэ бгъищэмрэ уафIэкIынутэкъым. Бэдынокъуэ и пщIыхьэпIэ дэнэ къыщыхэхуэнт пщащэ цIэрыIуэм и дэлъхуищым я тIасхъэ щыгъуазэ хъункIэ: пщащэр яфIихьын мурад ищIащ, Амыщ и хъушэм хыхьэри зы гъэлъэхъу иригъэукIащ, гъэлъэхъум и щхьэмрэ и фэмрэ уанэкъуапэм фIидзэри гъэгу теуващ. Пщащэм и дэлъхухэр зэрежьар илъагъуагъэххэти, пщащэр зыдэс банапцIэ чом ирихулIащ Бэдынокъуэ. Шы лъэ макъ щызэхахым, хьищэмрэ бгъищэмрэ зэрызехьэ хъуащ, жьапщэ хуэдэ къызэрехьэжьэри Бэдынокъуэ къаувыхьащ: хьищэр къыжьэхобанэ, бгъищэр дамэкIэ къонэпкъауэ. Гъэлъэхъум и щхьэр яхуидзри, хьищэр зэхигъэлъэдэжащ: щхьэр зэпаубыдауэ зым адрейм къыжьэдеч, шури къафIэIуэхужкъым, зэрышхыурэ зэрыдэхри хьэ банэ макъыр ужьыхыжащ. Мэлыфэр щахуидзым, япхъуатэри, бгъищэр уэгум ихьэжащ. Хьищэмрэ бгъищэмрэ щыщхьэщыкIым: - Хъуащ иджы! – жери Бэдынокъуэ банапцIэ чор шыбгъэкIэ ирищIыкIащ, пщащэр шыплIэм къыдидзэри чом къыдэкIыжащ. Сосрыкъуэ и хьэщIэ Зытхыжар Къэрмокъуэ Хьэмидщ Бэдынокъуэ и хъыбар щызэхихым, и лIыгъэр здынэсыр игъэунэхун мурад ищIащ Сосрыкъуэ. Бэдынокъуэ хуиIуэхуащ: - Си хьэщIэщ къихьэ, си шыгъупIастэ зыIугъахуэ,-жери. Бэдынокъуэ къэшэсри къежьащ. Къыщежьэм, и шыр игъэIущащ: - ХьэщIэщым сисыху, пщIэнур мыращ-моращ,- жери. Сосрыкъуэ деж нэсри, Бэдынокъуэ и шыр шы фIэдзапIэм къыбгъэдинащ, езыр хьэщIэщым ихьащ. ХьэщIэщым щихьэм, и джатэр зыкIэрихри бжэм ит щIалэм хуишиящ. ЩIалэр къэIэба щхьэкIэ, джатэр хуэIэтакъым: джатэр тещIэри, игъэтIысащ. Бэдынокъуэ джатэр къищтэжри блыным фIидзащ, блыным щыфIидзэм, джатэр техьэлъэри щыхьыбжьэр къыфIищIыкIащ. - Зыми ухуэIэтыркъыми нобэ,-жери Бэдынокъуэ джатэр ибг ирищIэжащ. ХьэщIэщым зы щIалэ къихьащ: - Уи шым дыпэлъэщыркъым,-жери. – Шы фIэдзапIэр къыхичауэ мэджэгури дигъэпщафIэркъым. Сыт тщIэнур? Тхуэубыдыркъым. - Си зы шабзэ хэфси, шабзэм ефпх,-жери Бэдынокъуэ зы шабзэшэ къаритащ. НэгъуэщI зы щIали кърамыджауэ шабзэшэр яхущIэхакъым. ТIум зэпаубыдри Бэдынокъуэ и шабзэшэр щIахащ, хасэри шыр ирапхащ. Iэнэм пэрытIысхьэжауэ, Сосрыкъуэ хъуэхъубжьэ къыIэщIигъэуващ Бэдынокъуэ: - Фадэбжьэ къефи, уи лъэгум дыщIэгъэплъ,-жери. - ФадэбжьэкIэ лIыгъэ ягъэунэхуркъым,-жиIащ Бэдынокъуэ,- Си лъэгум фыщIэплъэнумэ, банэ гуибл къевгъашэ. Банэ гуибл къашэри пщIантIэм къыдакIутащ. Бэдынокъуэ банэ гуиблыр лъэгукIэ зэхигъэщэщащ, епщэжри банэ гуиблым я сабэр жьым иригъэхьащ. Сосрыкъуэ деж къыщыхьэщIэщ, къыщыфэщ-къыщыуджри, Бэдынокъуэ шэсыжащ. Сосрыкъуэу си къан Къэбэрдейхэм зэрыжаIэр Сосрыкъуэу си къан, Сосрыкъуэу си нэху, Зи мэIуху дыщафэ, Афэр зи джанэ куэщI, Дыгъэр зи пыIэ щыгу, Ещыгуауэу уошэс, Нарт хасэ уахохьэ, Уи фэр пыхьэ-пыкIщ, Уи гур ирагъэкIаи! Дыгъуасэрей хасэм Сытыр щаухэс? Дыгъуасэрей хасэм Сытыр къыщулъагъу?... Абазэхэхэм зэрыжаIэр Саусырыкъуэу тикъан, Саусырыкъуэу тинэф, ЛIым иIуэфхэр зиащэ, Ещыгуауэр зичатэ, Арщыкъ темэну къиугъэм Ыщхьэ къиухьызы, ХьэрамIуащхьэкIэ ыгъэзагъ… Бжьэдыгъухэм зэрыжаIэр Саусырыкъуэу тикъан, Саусырыкъуэу тинэф, Пчэ-мэIуфэр зиаф, Лъыпсэр зипэIуэщыгу, Ещыгуауэр зичат, Пызыутрэ зипчыщхь, Нарт щхьахьэ узысэгъакIуэм Къэбарэу къэпхьыгъэр КъысаIу… КIэмыргуейхэм зэрыжаIэр Саусырыкъуэу сикъан, Саусырыкъуэу синэф, Афэхэр зиджэнэлъыпцI, ЛъыпцIэхэр зипэIуэщыгу, Ещыгуауэр зичат, Къыпызымынахэрэр зипчыщхь, Нарт щхьахьэ узысэгъакIуэм Хъэбарэу къэпхьыгъэр КъысаIу… ХьэкIувхэм зэрыжаIэр Сауэсырыкъуэу сицIыкIу, Симылъфыкъуэу сищау, Сауэсырыкъуэу зи нур, Пчы-мэIуфэр зиащ, Ащэр зиджэнэкIуэкI, ПчикIэр зипэIуэ щыгу, Ещыгуауэр зикят, ЛIыгъэм урэгъуазэ, Цызэу уэ уэзэкIуэ, Уизэуэгъу гуъих, Гуэрэныгум уащIит, Къайгъагъэр уищэн, Зыфэсакъыж, симыгъу… Хьэтыкъуейхэм зэрыжаIэр Саусырыкъуэ тикъан, Зынэхэр жьэгъуэшэуэ бын, Зынэхэр гъущIышхуэ мащI, Хьаджэбэджащэр зытеу, Хьаджэбэджащэр зикIуакI, СикIал сIуэнти, Симылъф, Силъфыгъ сIуэнти, Нарт я бын СыщIэлIыкIы… Шапсыгъхэм зэрыжаIэр Сауэсырыкъуэу тикъана, Тимыкъаныххэу тинэфа, ЧэмIуфэр зиащ, Ащэр зиджэнэкуэкIа, Лъыпсыр зипэIуэщыгу, Ещыгуауэр зичат, ПызыкъутыкIырыр зипчыщхьэ, Наты щхьахьэ уздэкIуэм Къэбарэу къэпхьыгъэр КъысэIуа… Сирием зэрыщатхар Саусырыкъуэ тикъан, Саусырыкъуэу тинэф, Пчы-мэIуфэр зиащ, Ащэр зиджэнэкуэщI, Лъыпсэр зипэIуэщыгу, Ещыгуауэр зичат, Пызыгъэчырэр зипчыщхь, Зищхьэр абрэмыжь, ЗынитIур жьэгъуэ щий, Нарт щхьэхьэ уздэкIуэм Щэуэ джэгуэгъу уэгъуэт, Шым и щхьэкIуэрэ къэIуат, ПэмыкIым емыIуэри Уянэ епIуанэр Губгъэнэп… Тыркум зэрыщатхар Саусырыкъуэ тикъан, Саусырыкъуэ тинэф, ЗимэIуфэр дыщафэ, Афэр зипэIуэщыгу, Лъыпсэр сиджэнэкуэкI, Ещыгуауэр зипчыщхь, Нартыщхьэ къэпхьынэу УзэкIуэм ЩхьэкIуэу къэпхьыгъэр КъысэIуа… Санэхуафэ Зытхыжар Къэрмокъуэ Хьэмидщ Фи хъуэхъубжьэр си щIасэщ, Мыр си щIасэу вжызоIэ: Махуэ жагъуэ димыIэу, ФIыгъуэ диIэрэ здэдгуэшу, Ди шагъдийхэр здидгъэлъу, Вагъуэм пэбжыр ди Iэщу, ЛIыхъу цIэрыIуэр ди щауэу, Щыуэныгъэр ди мащIэу, ПщIэ зыхуэтщIыр нэхъыжьу, Ди жагъуэгъухэр тфIэлIыкIыу, ТлъэкIыр тщIэжрэ дытхъэжу, Ди тхъэжыгъуэр гъунэншэу, ГущIэгъуншэ тхэмыту, Ди гуэныр гъавэм къикъутэу, Хъуэхъур ди куэду, ПщIэ зыхуедгъэщIыфрэ Афэр ди быдэу, Ди тхьэмадэм Дзажэ дакъэр я Iусу, Ди щIалэхэр зекIуэ ежьамэ, Дыщэплъыр я пащIэу, МазэщIэр я натIэу, ЗдаунэтI пшэрыхьу, Ди унэ уардэ унэжьрэ Выжьхэр щаукIыу, ИкIым кърихьэрэ Къихьэм къринэу, ХьэщIэ кIуапIэрэ ЕкIур щалэжьу, Пхъэм и махуэр ди бжаблэу, Бланэлыр ди Iусрэ Бланафэр ди бгъэну – Гъэ мин гъащIэ Тхьэм къыдит! Сосрыкъуэрэ Тхъуэжьейрэ я тIасхъапIэр Зытхыжар Къэрмокъуэ Хьэмидщ Сосрыкъуэ и щытхъум имыгъаплъэ щыхъум, нартхэ Сосрыкъуэ яукIын мурад ящIащ. Куэдрэ еща, мащIэрэ еща – Сосрыкъуэ и тIасхъапIи Тхъуэжьейм и тIасхъапIи къахуэхутакъым. И тIасхъапIэ къамыхутэмэ, пэлъэщынутэкъым. Уэрсэрыжь деж кIуащ нартхэр: - Сосрыкъуэрэ Тхъуэжьейрэ я тIасхъапIэр къытхуэхутэ,- жари. - ДжатэкIи шабзэкIи Сосрыкъуэ фыпэлъэщынукъым,- къажриIэжащ Уэрсэрыжь. – ФылъежьэкIэ Тхъуэжьейми фыщIыхьэнукъым. - АтIэ сыт тщIэнур? - Жэщибл-махуиблкIэ фыкъыспэплъэ, сэ зыгуэр фхузэIусщэнщ,- жери нартхэр къыдигъэкIыжащ Уэрсэрыжь. Нартхэр къыдигъэкIыжри Уэрсэрыжь аргъуейм еджащ. Аргъуейр къэсри Уэрсэрыжь и пащхьэ къитIысхьащ. - Зэхэпха нартхэ жаIар? – еупщIащ Уэрсэрыжь аргъуейм. - Зэхэсхащ,- жиIащ аргъуейм. - Зэхэпхамэ, ежьи, Сосрыкъуэрэ Тхъуэжьейрэ къэгъуэт, я тIасхъапIэ умыхутауэ къомыгъэзэж. Аргъуейр Уэрсэрыжь и пщIантIэ дэлъэтыкIащ, махуищ дэкIри и псэ пыт къудейуэ къигъэзэжащ. - Къэпхута Сосрыкъуэрэ Тхъуэжьейрэ я тIасхъапIэ? - Къэсхутащ,- жиIащ аргъуейм. – Тхъуэжьейм и шыкIэ налъэ къыстехуэри си зы дамэр икъутащ. Си зы дамэ щикъутэм, жьым сыкъэшэсри армыгъуейуэщ сыкъызэрыкIуэжар. - Сосрыкъуэрэ Тхъуэжьейрэ я тIасхъапIэр сыт? - Сосрыкъуэ и тIасхъапIэр и куэпкъыщхьэрщ, Тхъуэжьей и тIасхъапIэр и лъэгурщ,- жиIащ аргъуейм. - Ар дауэ къэпщIа? - Жеяуэ сащрихьэлIэм, я щхьэм щызублэри си дыдыр хэсIуурэ я щIыфэр къэсхутащ. Сосрыкъуэ къыщыскIар си пэ дыдыр и куэпкъыщхьэм хэсхуа нэужьщ. Тхъуэжьейр щетхэуар и лъэгум сынэса нэужьщ. ПIалъэр къыщысым, нартхэр Уэрсэрыжь деж ихьащ: - Сыт къыджепIэн? – жари. - ВжесIэн щыIэщ, фхузэфIэкIынумэ,- къажриIащ Уэрсэрыжь. - КъыджепIэмэ, тхузэфIэкIынум деплъынщ,- жаIащ нартхэм. - Псыжь адрыщI шурылъэс фыщыджэгу. Шурылъэс къывдэджэгумэ, фызэщиудынурэ Сосрыкъуэ къыфхэкIыжынущ. АпщIондэху Псыжь гъуаплъэ лъэмыж тефлъхьэ, лъэмыжым мафIэ щIэфщIыхьи, вгъэплъ. Сосрыкъуэ къыфхэкIыжрэ лъэмыж гъэплъам къытехьэмэ, Тхъуэжьейм и лъэгур цIынэщи, щIижьыкIынущ. ИтIанэ и ужь фыкъихьэ: езым и куэпкъыщхьэри цIынэщи, Тхъуэжьейр имыIэжмэ, фыпэлъэщынкъэ? Ар къащыжриIэм, нартхэр Псыжь зэпрыкIащ: - Шурылъэс дыджэгунщ,- жари. Сосрыкъуи ираджащ. Шурылъэс яублэри, Сосрыкъуэ нартхэр зэщхьэщиудащ. Шурылъэсым хэтыху, нартхэм Псыжь гъуаплъэ лъэмыж тралъхьащ, мафIэ щIащIэри лъэмыжыр ягъэплъащ. Нартхэр зэщхьэщиудри, Сосрыкъуэ къежьэжащ, Псыжь къыхэпкIэри къызэпрыкIыжащ. Лъэмыжым техьакъым – нартхэ ебзэджэкIащ. Жагъуэгъум хуэфащэр Сосрыкъуэ яукIын мурад ящIауэ, и жагъуэгъухэр къещэрт. Къещэ щхьэкIэ зэкъуэхуауэ заIэригъыхьэртэкъым, бэлэрыгъ и хабзэтэкъыми. ЗекIуэ къикIыжауэ, Сосрыкъуэ нартхэ я Iэхъуэм гъуэгущхьэм щрихьэлIащ. - Нартхэ я хъыбар къызжеIэ,- жери Сосрыкъуэ Iэхъуэм еджащ. - Нартхэ я хъыбар сэ дэнэ щысщIэн: махуэм сыIэхъуэщ, жэщым сыхьэдэ хъурейщ,- къыжриIащ Iэхъуэм. - Нартхэ я хъыбар умыщIэнумэ, гъуэгущхьэм щхьэ утет? – жери Сосрыкъуэ Iэхъуэм хуэгубжьащ. Алыджхэ я унэм нартхэр зэрыщызэхэсыр игу къэкIыжри, Iэхъуэм жиIащ: - Нартхэ я хасэщ, жэщибл-махуибл хъуауэ Алыджхэ щызэхэсщ. - Сыт къаухэсыр? – еупщIащ Сосрыкъуэ Iэхъуэм. - Къаухэсыр хэт ищIэн,- жиIащ Iэхъуэм. – Сахыхьакъым – сахэкIакъым. - КIуэ,- жиIащ Сосрыкъуэ,- нартхэ яхыхьи, къаухэсыр къысхуэщIэ. Iэхъуэр нартхэ яхыхьащ, къаухэсыр зригъащIэри Сосрыкъуэ къыхуихьащ: - УзэраукIынщ къаухэсыр. Алыджхэ я унэм исым я гуахъуэ зырыз ищIри, Сосрыкъуэ Iэхъуэм жриIащ. - Гуахъуэр хьыи, Алыджхэ я бжэкъуагъым къуэгъэувэ. Гуахъуэр ихьри Алыджхэ я бжэкъуагъым къуигъэуващ Iэхъуэм. - Иджы, - жиIащ Сосрыкъуэ,- Алыджхэ тегъази, хасэм мыр яхэдзэ: «Iэдэмрэ уадэмрэ япэ къежьар сыт?» Iэхъуэм Алыджхэ тригъэзащ, хасэм яхыхьэри яхидзащ: - Iэдэмрэ уадэмрэ япэ къежьар зыщIэ щыIэ? – жери. - Iэдэращ,- жиIащ зым. – IэдэкIэ умыубыдмэ, уадэ пхуэщIрэ? - Уадэращ япэ къежьар,- жиIащ нэгъуэщI зым. – Уадэ уимыIэмэ, Iэдэ пхуэщIрэ? Нартхэр зэдауэ хъуащ. Зэдауэурэ зэрыгъэплъри бжэкъуагъым къуэт гуахъуэм епхъуащ, гуахъуэр я зырыз хъурти, зэхэлъэдэжри я щхьэр къызэрекъутэхащ. Iэхъуэр къахэкIыжри Сосрыкъуэ деж къэкIуэжащ: - Нартхэ зэрыукIыжащ,- жери. - Хуэфащэр къащыщIащ,- жиIащ Сосрыкъуэ. Шэсри, и гъуэгу техьэжащ. Сосрыкъуэрэ пасэреймрэ Зытхыжар Къэрмокъуэ Хьэмидщ ЗекIуэ ежьауэ, Сосрыкъуэ Афэбг лъапэ деж шхужь къупщхьэ щрихьэлIащ. Зэрышууэ икIащ Сосрыкъуэ шхужь гъуанэм. Ар игъэщIагъуэри, тхьэ елъэIуащ: - Мыр зи къупщхьэр къэхъужауэ сыгъэлъагъу,- жери. Зи къупщхьэр пасэрейт. Пасэрейр къэхъужри къызэфIэтIысхьащ. - Усыт лъэпкъ, дэнэ ущыщ? – еупщIащ Сосрыкъуэ къэхъужам. - Сыпасэрей лъэпкъщ, мыбдеж дисащ… Мы мывэжьищыр плъагъурэ? Бгы лъапэм мывэжьищ телът. - Солъагъу,- жиIащ Сосрыкъуэ. - А мывэжьищыр зэхэддзурэ дриджэгу ди хабзащ,- жиIащ пасэрейм. - Иджыри пхуэдзын? - Схуэдзынущ,- жери къызэфIэуващ пасэрейр. - Мо къуэм зэпрыкIи, къэув. Сосрыкъуэ къуэм зэпрыкIащ. - НокIуэ! – жери пасэрейм зы мывэ идзащ. - Упсэу? - Сыпсэущ!- жиIащ Сосрыкъуэ. - НокIуэ етIуанэри! – етIуанэри идзри, Сосрыкъуэ егуоуащ. – Упсэу иджыри? - Сыпсэущ! - Ещанэри нокIуэ! – ещанэри идзащ. – Упсэу? - Сыпсэущ! – жэуап къитыжащ Сосрыкъуэ. - Упсэумэ, къуэм къызэпрыкIыж. Сосрыкъуэ къуэм къызэпрыкIыжащ. - Мывищ нэздзащ – дауэ укъела? – игъэщIэгъуащ пасэрейм. - СыIулъэтри сыкъелащ,- жиIащ Сосрыкъуэ. - «Iулъэт» жыхуаIэр сыт? – къеупщIащ пасэрейр. - Къадзыр зытомыгъахуэмэ, аращ «Iулъэт» жыхуаIэр. - Дэ ар тщIакъым. Къадз илъэпкъыр къыттехуэурэ, аращ дызыухар… Ар жери, паcэрейм и нэпс къыщIэкIащ, щIым хэтIысхьэжри и псэр хэкIыжащ. 2 Сосрыкъуэ мэзым щIэкIрэ пэт шхужь гъуанэ ирихьэлIащ. Зэрышууэ икIащ шхужь гъуанэм. ИгъэщIагъуэри, шхужь гъуанэм къыбгъэдэувыIащ. - Мыр зи шхужьыр къэхъужауэ слъэгъуащэрэт,- жери тхьэ елъэIуащ Сосрыкъуэ. – И нэ имысыжу кърехъуж. Сосрыкъуэ и тхьэлъэIу къыдэхъурти, шхужьыр зейр къызэфIэувэжащ. КъызэфэIувэжа щхьэкIэ, щIым хуэшэчакъым, апхуэдизкIэ пIащэти: и лъэгуажьэм нэс щIым хэтIысхьащ. - Мы дунейр сыту кIыфI,- жиIащ лIы домбейм. – Уэри уи нэ къэт? - Хьэуэ, къэткъым,- жиIащ Сосрыкъуэ. - Ди ужь къихъуэнур зэрыукIыжынущ къыджаIэгъащ ди адэжьхэм. ФызэрыукIыжрэ? – къеупщIащ лIыр. - ДызэроукIыж,- жэуап иритащ Сосрыкъуэ. - ЛIы фIыцIэ гъущIынэ къытехьэнущ дунейм жаIэгъащ. Къытехьа? - Къытехьащ,- жиIащ Сосрыкъуэ. - Ар сэращ. - Мыбдежым зы псей абрагъуэ итащ. Итыж? – къеупщIащ лIыр. - Итщ. ЛIы домбейр зэIэбэкIри псейр къиухуащ, и бгым нэс къыпищIыкIри Сосрыкъуэ къриутIыпщащ. - Укъела? – къеупщIащ лIыр. - Сыкъелащ. СыIулъэтри сыкъелащ,- жиIащ Сосрыкъуэ. - Iулъэт жыхуаIэр сыт? - Къадзыр зытомыгъахуэмэ, аращ Iулъэт жыхуаIэр. - Ар дэ тщIакъым. Къадзыр къыттехуэурэ, абы диухуащ… Узэры-Сосрыкъуэр си фIэщ хъуащ. Тхьэ уелъэIури сыкъэбгъэхъужащ. Уи тхьэлъэIу къыбдохъу. Тхьэ елъэIуи, сыгъэлIэж: сэ мы дунеягъэм сишх щыIэжкъым. - Ари пхуэсщIэфынущ,- жиIащ Сосрыкъуэ. – Нартхэ сахыхьэжмэ, хэт срихьэлIауэ яжесIэн? - Дэ фыкъытщIэмыупщIэ: хьэдрыхэ зэхудипIалъэщ. Сосрыкъуэ тхьэ елъэIури, лIым и псэр хэкIыжащ. Ахумыдэрэ Ашэмэзрэ Зытхыжар ХьэдэгъэлI Аскэрщ Ар нартхэ я тхьэIухудщ, Щауэу къылъыхъури зымыдэщ, Дыхьэрэныр зи нэкIущ, Езыр уардэ зэкIужщ, Езыр пщащэ Iэхулъэхущ. Хуэмыху лъэпкъ зымыдэщ. Щауэ Iэджи хузэблокI, Псэлъыхъу Iэджи икIэ къещI. - ЩIалэу щыIэм сращхьэщ, ХьэщIэу кIуэми сащыщкъым, Къысхуэмеймэ къызремыплъ, Нэмыплъ лей къысхуремыщI, Сэ сыхабзэмыщIэкъым, Спкъырыт лъагъуныгъуэм сригъуэгурыкIуэщ,- ЖеIэри, Ашэмэзыр абы хуокIуэ. КъакIуэми и шыфэ-лIыфэр Ахумыдэм егъэунэху, КъыхуэкIуам щIалэ кIэлъегъакIуэ. - КъэкIуар щIалэ есщ, КъэкIуар щIалэ псыгъуэщ, Ашэ и къуэ пажэщ, АшэмэзкIэ зэджэщ. КъэкIуар Ашэмэзу езым наIуэу къыщищIэм, ЩIалэм лъэкIынури егъэунэху: Ахумыдэм жьапщэ дыдж зыкъещI, ЩIы къэкIыгъэр есыж, Псы ежэхыр йогъукI, ХьэкIэкхъуэкIэхэр зэтолIэ. Ашэмэзу лIы пхъашэм, Ашэ и къуэу бжьэмияпщэм И бжьамийр къызэкъуех, Гум хыхьэ пшыналъэр зэфIещIэ. ЩIыр арыххэу мэщхъуантIэ, Жыгхэр къотIэпI, мэгъагъэ, Удз гъэгъахэр щхъуэкIэплъыкIэщ, ХьэкIэкхъуэкIэхэр къопсэуж. Ар щилъагъум Ахумыдэм ЩIалэ гуэрыр хуегъакIуэ, Бацэ IэкIуэ хуегъэхь, Пхъэ гъуа кIапи ирет. Ашэмэзым ар къыIех, Хэплъэу тэлайкIэ ар щысщ, Пщащэм жэуап кърет: - Дзасэм куцI паIуркъым, ЯмыгъэIу зэхахыркъым. Сэ Iэщ зыпIми сащыщкъым. Ауэ щIэкIи, плъэ ныджэм, Жыг ухуейми, дэтщ пщIантIэм. ПщIантIэм къыдокI Ахумыдэ, Ныджэм плъэмэ – уфащ; Ар елъагъури Ахумыдэр ПщIантIэм къыдохьэж. Жыгыр дэзу елъагъу, ИмыгъэщIагъуэу ар йоплъ, Зэплъым дыщэщ япытыр. Тэхъуанэм Ахумыдэр щIохьэж, Шхыныгъуэ Iэни еухуэ. Iэнэм хуэфIу телът мэжаджэ, А мэжаджэр ху мэжаджэплът, Фалъэм итыр шэ хьэнтхъупст, Хьэнтхъупсым дагъэр нэрынэу тетт, Ахэр Ашэмэз хурагъэхь, ХьэщIэщым хущIрегъыхьэ, Щхьэтемыхыуи мыхэр жреIэ: - Мазэр изщи мэзагъуэщ, Вагъуэр изщи пшэ телъщ, Зумысыгъуэджэу едзакъэ. Ашэмэзым къудамэ гъуар Игъуэу щIопщыкъу ищIат, ЩIопщри абы екIуат, Къызыхуэтри Iэпэпст… Iэнэ шхыныр зытетыр ЩIалэм абы хущIехьэ, Щхьэтемыхыуи жреIэ: - Мазэр изщи мазагъуэщ, Вагъуэр изщи пшэ телъщ, Зумысыгъуэджэм едзакъэ. Ашэмэзым ар къещтэ, И жэуапуи кIэлъещтэ: - Мы щIопщыкъур зым хуэныкъуэщ, Зыхуримыкъур Iэпэпсщ, СхурищIэну гуащэм жеIэ. Абы нэмыщIкIэ, Нобэ жэщыр жэщ мазэхэщ, Ауэ мазэр сэ сымылъагъуми Мазэр изти мазагъуэт, Вагъуэр хэзти пшэ телът. Мазэм и щIэлъэныкъуэр гуагъэзщ, Вагъуэри зырыз хащIыхьщ. ЩIалэр Ахумыдэ хуокIуэж, Жэуап къихьари хуеIуэтэж: - Мы щIопщыкъур зым хуэныкъуэщ, Зыхуримыкъур Iэпэпсщ, Iэпэпс хуипщIэну къолъэIу. Нобэ жэщ мазэхэми Мазэр изти мазагъуэт, Вагъуэри хэзти пшэ телът. Мазэм и щIэлъэныкъуэр гуагъэзщ, Вагъуэри зырыз хащIыхьщ. Ар щызэхихым Ахумыдэр НэбгъузкIэ топлъэ и Iэнэм, Iэнэм телъыжыр мэжаджэ ныкъуэщ, Кугъуэу хэлъыжри зырызщ. Зыхуэмубыдуи Ахумыдэр И IуэхутхьэбзащIэм жьэхолъэ, КъызэщIэплъауи къыщIож, БжэIупэм Iуту мыр жеIэ: - Ана-а! Мы уи щIопщыр щIопщкъым, Уи щIопщыкъур хьэмкIутIейкъым, Къазу уи шыр пщэ къуаншэкъым, Уадакъэм къысхуэщIэркъым, Къашыргъэми урещхькъым, Нэбажэми уещхьыххэкъым, Уи шыр альпу данафэкъым, Нарт данэ Iэпэпсыр Уэ пхуэфащэу сфIэщIыххэркъым. Ар зэхехри Ашэмэзым Зыкъегъазэри жэуап къетыр: - Уа-у-у! Нартхэ я тхьэIухуд, ТхьэIухуду Ахумыдэ, Данэр зи Iэпэм пыщэщ, Си щIопщри щIопщщи, Си щIопщыкъури хьэмкIутIейщ, Си пщIэгъуалэр къыупщэщ, Алъпуи щыIэм я щхьэжщ. Къашыргъэми зеслъыткъым, Нэбажэуи сылъатэкъым, Нарт щIыналъэм срикъуэщ, Къуалэу уэгуми сыщызокIуэ, Бланэу щIылъэм къыщызокIухь, Сыхьэрэмыгъащэкъым, Щауэ псэгъу солъыхъуэ. Ар Ахумыдэм зэхехри Тэхъуанэбжэм къыIуокI, И бжэIупэм къоув, Псалъэ хъуэрхэр къеутIыпщ: - А-а-а! Ар уэращ жыпIа? АтIэ уи щIопщыр щыщIопщкIэ, Уи щIопщыкъури щыхьэмкIутIейкIэ, Уи шыкIэри щыданэкIэ, Нэбажэми ущимыхькIэ, Къышыргъэуи ущымылъатэкIэ, Дауэ ущауэу псэгъу лъыхъуэ уежьа? Уи алъпыр къыупщэщ жыпIа? Арамэ ущауэ нэсщ, Индылыщхьэ еуи схунэс, Данэ босцейри къысхуих, Мис итIанэ дызэпсэлъэнщ. ЗызэщIекъуэри мэшэс, Ахумыдэ и пщIантIэм къыдошэсыкI. Мэз кIырхэм ар кIуэцIрокI, Псы икIыгъуи мылъыхъуэу макIуэ, Индыл и кIуапIэр къехутэ, Къызыщыхутэр лыгъейм ищтащ. Зыкъещтэ, зеIэтри ар мафIэм щхьэщокI, Жьапщэ кIэрахъуэми ар хохуэ. Шхий хуэдэ жьапщэм жыгхэр зэредзэ, Къыр хьэдзэ инхэри епхъэх. Уэшх пIащэ Iувхэр къожэх, Уэшхыр зэпоури уэс къос, Уэс уаем и кIэр сабэм зэщIещтэ. Абы щIыгъуу тафэхэр мэгъущIэ, Псы уэрхэр дэни щогъущыкI, Ашэмэзым Тхьэгъэлэдж бжьамийр Къызэкъуехри и пшыналъэм щIедзэ – Дунейм зэуэ зыкъеублэрэкI, ЩIы къэкIыгъэм псоми заужьыж… Куэд икIуа, мащIэ икIуа, Ашэмэзыр Индылыщхьэ нос. Индылыщхьэм зы къурш ин къытетщ, Зы тэхъуанэ абы тещIыхьат, Тэхъуанащхьэм бжей ин къытекIат, Бжейм и щхьэкIэм абгъуэ тещIыхьат. Абгъуэм иту зы чэщанэ щытщ, А чэщанэм къан хъыджэбз щопсэу, Абы и псэуэгъури къан тхьэрыкъуэт, А тхьэрыкъуэрт зиIэр данэ босцейр. А тхьэрыкъуэр нэхущ къэсыхункIэ Абгъуэм къокIри Индыл псыхъуэ къокIуэ. Ар къыщIэкIуэр абы зыгъэпскIакIуэт, Мис а кIуапIэм Ашэмэз щоплъакIуэ. Куэд дэмыкIыу къан тхьэрыкъуэр къох, Зигъэхуэму псыхъуэм ар йокIуалIэ, ЕмылIалIэу данэ босцейр зыщех, Псы ехыпIэм тету псыхъуэм дохьэ. Иш хьэзырти Ашэмэз зепхъуатэ, Данэ босцейр къепхъуатэри къожьэж… Куэд дэкIа, мащIэ кIуа?! Ашэмэзыр нарт щIыналъэм къос. ЗэщIэпсыпсэу данэ босцейри къехь, Ар Ахумыдэ и деж къехьэс. Ауэ ар Ахумыдэм къыIимых. - Хей-хей! – жеIэ,- нартхэ я Ашэмэз, Ашэмэзу щIалэ, А щIалэ ес, А щIалэ псыгъуэ! Гъуэгуанэу пкIуари щIэпкIун щыIакъым, Къэпхьа босцейми зыкIи сыхуейкъым, Сэ сызыхуейри уи бэшэчыгъэрщ. ЛIыгъэм фIыгъуэ зэрептырщ, Ущыхутэр зэрыбгъэбагъуэрщ, ЛIыгъэм пэжыгъэу дэпIыгъырщ. Сэ сызыхуей щауэу Щауэм уралейщ. Лей зымыгъэгъухэм уащыщщ. Ущауэ мышынэщ, Уи нэр вагъуэ мыункIыфIщ, Уи щхьэр дыгъэ къуэмыхьэщ; Шым утесым – уIуащхьэщ, Джатэр къапщтэм – ущыблэщ, Блэшэу зекIуэр уи шабзэщ; Уи щыпэ шэсми дзакIуэм урапашэщ, Дзэуэ зепшэр дыгъужьщ, Дыгъужьыгуи пкIуэцIылъщ, МаскIэплъыр къызыпыщэщыр уи Iэщэщ, Дзэ Iувыр зыущиифри уи джатэщ, Уи джатэпэм жыр мастэр къепхъуатэ, Нарт цIыхухэм сыткIи уахощыр, Iэщэ хэт къищтами пщIэмыхьэ. Уджамэ щIылъэр бдопсалъэ, Зи лъэ вакъэ изылъхьэр къыбдожьэ, Уежьауэ щытми уи япэ зы цIыху къимыхуэ. Абы хуэдэ щауэщ сэ сызыхуейр! Ахумыдэм апхуэдэу къыжеIэ, Iэпэгъууи Ашэмэзыр ещтэ; Нарт жылагъуэм ахэр щызэпсэгъущ, ФIыгъуэу ягъуэтари гъунапкъэншэщ. Мэлэчыпхъу Зэгуэрым Мэлэчыпхъу и лIыр ныртыжьитI и гъусэу махуэ 15-кIэ къэтыну ежьащ. ЗдэкIуам аргуэру махуэ 15 гуэркIэ щымыIэжу мыхъуу, мазэкIэ къэтын хуей хъуащ. Нартым и гъуситIыр къиутIыпщыжащ: - Гуащэм мафIэхъу схуефхыж! МазэкIэ сыкъэтын зэрыхуейри схужефIэж. Нобэ фынэсу пщэдей фыкъэсыжу фыкIуэж- жиIэри. Зыщымыщу бохуцеяпхъитI Мэлэчыпхъу саугъэту къыхуригъэхьри и гъуситIыр къигъэкIуэжащ. БохуцеяпхъитIыр Мэлэчыпхъу къыхуахьри къэкIуэжахэщ. Нэсыжри нартым я пщэ кърилъхьар Мэлэчыпхъум жраIэжащ. ЕтIуанэ махуэм ежьэжын хуейти лIым жраIэжыну мыр яжриIащ: «Вагъуэм из, Мазэм итI, Тхьэрыкъуэ пщэхуитIым я псэ. КъуанщIэ фIыцIэжьитIым ягу хыумыгъэщIын» – жыфIи си лIым схужефIэж,-жиIэри. - ЩIалитIым абы къикIыр къагурымыIуэу, ягъэщIагъуэу зыщамыгъэгъупщэжын щхьэкIэ жаIэурэ кIуэжахэщ. Нэсыжхэри нартым елъэIуахэщ: - Тхьэм щхьэкIэ, дэ зыгуэркIэ дынолъэIунущи къыджыIэ,- жаIащ. - ФыкъызэлъэIу, сщIэмэ фызогъэгугъэ вжесIэну,- жиIащ нартым. - ДынолъэIумэ мыращ: «Вагъуэм из, Мазэм итI, Тхьэрыкъуэ пщэхуитIым я псэ, КъуанщIэ фIыцIитIым ягу хыумыгъэщIын» - жиIэу гуащэм уэ къыпхуиIуэхуа псалъэм къикIыр къыджыIэ жаIэри. - БохуцеяпхъитI фэзгъэхьам зым зы IэфракIэ, адрейм IэфракIитI къыпыфчат? – жиIэри еупщIащ нартыр и гъуситIым. - Къыпытчащ,-жаIащ абыхэм. - АтIэ зым зы IэфракIэ, адрейм IэфракIитI пачащи «тхьэрыкъуэ пщэхуитIым я псэ» жыхуиIар гуащэмрэ сэрэщ. «КъуанщIэ фIыцIитIым» жыхуиIэр фэ тIуращи, «Дэ тIум ди псэ, уи гъусэ нартыжьитIым я гугъу умыщIын!» – жиIэу аращ гуащэм и псалъэм къикIыр,-жиIащ нартым. НартыжьитIым ар ягъэщIэгъуащ, абы иужькIи апхуэдэ зэй ящIэжакъым. Мазэ пIалъэр дэкIри нартми къигъэзэжащ. Нартыр къэкIуэжа иужькIэ куэд дэмыкIыу хьэщIэ къахуэкIуащ. ХьэщIэщыр унэм пэжыжьэт. Мэлычыпхъу хьэщIэм хуэфащэ лы Iыхьэр лэпсым хэлъу, лэпс тепхъэри тепхъэжауэ, шыуаным илъу хьэщIэщым иригъэхьащ, адэкIэ и лIым къыхихыжу дахэ-дахэу Iэнэм трилъхьэну. Унэджокъуэ лыр къыхихыурэ хьэщIэ Iыхьэ гуэр къэт хъуащ. Абы Мэлэчыпхъу деж игъэкIуащ: - ХьэщIэ Iыхьэр щхьэ къэт хъуа? – жиIэри. - Пшэр лъэныкъуэ ирагъэзри Вагъуэр зэрыз ящIащ,- жыфIи схужефIэж си лIым,-жиIащ Мэлэчыпхъу. Апхуэдэу и лIым щыжраIэжым, гуп зэхэсыр еупщIащ: - Мыбы къикIыр, Тхьэм щхьэкIэ, къыджыIэ! – жаIэри. - Абы къикIыр мыращ: лэпс тепхъэр лъэныкъуэ ирагъэзри лы Iыхьэр хахащ,- къажриIэжащ нартым. Бадий и псысэ Зытхар Нало Заурщ Еуэрэ-уэрэт, жи: Къэбэрдейм и гъунэ дыдэм зы къуажэ цIыкIу щыст, жеIэ, ИнэмыкъуэкIэ еджэу. Инэмыкъуэм зы щIалэжь цIыкIу дэст, Бадий и цIэу. Пщыхьэщхьэ гуэрым Бадийхэ я унагъуэр кино еплъу здэщысым, адэр къыщIохьэжри, телевизорыр егъэункIыфI. Унагъуэр къыхудоплъей абы. - Чынтхэр Абхъазым къатеуащи, цIыхур зэтраукIэ, унэхэр ягъэс, хэкур яхъунщIэ,-жи адэм.- Фэ телевизор фоплъри фыщысщ. Унагъуэм cыт ялъэкIынт – гузавэщ, гузавэхэри гъуэлъыжащ, ауэ адэм игу ирилъхьащ, Iэщэ къигъуэту, Абхъазым кIуэну: «Дыщысурэ педгъэшхыкIынкъым,-жи игукIэ. – Сыт напэр диIэу ди адэжьхэм даIуплъэжын!» АрщхьэкIэ ар зэрымыгугъауэ зигъэзащ Iуэхум. Йоуэри, жэщыбгым деж телефон уэзджынэм къегъэуш, жей IэфIым хэт Бадий. И нэ фIыцIэшхуэхэм щIэIуэтыхьурэ щIалэжь цIыкIур макIуэри трубкэр къытрех: - Але! –жи. - Алло! Инэмыкъуэ мыр? – къоIукI лIы макъ. - НтIэ. - Ярэби, щIалэфI, Бадий жыхуаIэр къыдолъыхъуэ, умыцIыхуу пIэрэ? - Бадийр сэращ. - Iэлыхьалыхь, сыту ди насыпу укъэдгъуэта! – мэгуфIэ къэпсалъэр. - Уэ ухэт? - Нэпсалъэр Хасэращ,-жи телефоным.- Къэбэрдей псор уэ дыпщогугъ. - Сэри? – егъэщIагъуэ ар щIалэ цIыкIум. - Уэ зэхэпхакъэ къэхъуар? Чынтхэр Абхъазым иужьгъащи хьэлэч ящI. Дэ абы дызэрыпэувын Iэщэ диIэкъым. Уэ укъыддэмыIэпыкъумэ, ди къуэшхэр мэкIуэд. - Уарэ мыбы жиIэр! – Iэнкун мэхъу Бадий.- Дауэ? Сэ… сыщIалэ цIыкIущ иджыри… - ДощIэ, Бадий, дощIэ,-жи хасэ Тхьэмадэм.- ГеографымкIэ тIу узэриIэри дощIэ… Бадий цIыплъ мэхъу. - …ауэ мы ди лъэIур игъэзэщIэфыну хэкум цIыху искъым, уэр фIэкIа. Хьэрамэ Iуащхьэ фи къуажэм пэгъунэгъу дыдэщ, пэжкъэ? АтIэ, лIыжьхэм зэрыжаIэмкIэ, нарт Сосрыкъуэ здыщIэлъыр а Iуащхьэм и Iэшэлъашэхэращ. Абы и макъыр щIым къыщIэIукIыу уи адэшхуэм зэхихауэ жаIэ. АтIэ Хасэр къызэрынолъэIуращ: уи адэм и щIытI маршынэр Хьэрамэ лъапэ ху, нартыр здыщIэлъ щIыпIэр къэгъуэт, къыщIэтIыкIыж аби, мы къэхъуар жеIэ. АдкIэ ищIэнур езым ищIэжынщ. ЕпIэщIэкI, къуэш! - СокIуэ! ИджыпстуупцIэ сокIуэ!.. – Бадий трубкэр тредзэжри, и гъуэншэджыр ныкъуэлъытIагъэу къыщIож. Адэм и щIытI маршынэр куэбжэпэм щытт, и хъупышхуэжьыр IэштIым нэхъей, игъэдалъэу. ЩIалэ цIыкIур абы йотIысхьэри, алъпым хуэдэу ирегъэлъ аби, Хьэрамэ лъапэ еху. Бадий куэдрэ къызэхикIухьащ Iэшэлъашэр, ауэ кхъащхьэ гуэри игъуэтакъым. Щимыгъуэтым, гъуэлъри и тхьэкIумэр щIым трилъхьэщ аби, дэIуащ. КIуатэри, аргуэру дэIуащ. Iэпхъуэри, аргуэру дэIуащ. IукIщ аби, аргуэру дэIуащ. КIуэтэхукIи Бадий нэхъ пIейтей хъурт: щIы щIагъым щэIу макъ къыщIэIукIырт. Бадий и маршынэр къыбгъэдехуэри, абдежыр къитIу щIедзэ. Мазэм пшэ фIыцIэжьхэр зытрелъэщIыкI аби, дунейр Iурихыу мазэгъуэ нэху мэхъу. Маршынэм и хъупыжьыр нэхъ жыжьэ еIэбыхыхукIэ, щэIу макъри нэхъ ину зэхох. Абы хэту щIыр мэзджыздж, мазэр мэункIыфIри уафэр мэхъуэпскI, щыблэр мауэ аби, мазэр къыщIонэж. Мазэгъуэ нурым игъэпскIыу нарт Сосрыкъуэ щIым къыщIокIыжри къоув. - Лъэпщым и нэфIыр зыщыхуауэ нартхэ ди Бадий цIыкIу, дэнэ ущыIэ? – жи Сосрыкъуэм,- Тхьэшхуэм и хьэтыркIэ, зызгъэлъагъу! Бадий маршынэм къолъэ, нарт Сосрыкъуэ ар къепхъуатэ: дрехьейри мэгъущIэ, кърехьэхри мэщIытэ. Езыми лIы фIыцIэ гъущIынэм и пщэм зридзащи къэгумэщIауэ магъ. Зы зэман зэ тIуми ягухэр мэзэгъэж, итIанэ щIалэ цIыкIур нартыжьым йоупщI: - Уа, Сосрыкъуэ, уэ дэнэ сыкъыщыпцIыхурэ сэ? – жи. - Ей, си къуэш цIыкIуу Бадий щэджащэ, сэ илъэс минитху хъуауэ узоцIыху,-жи нартым. - Уэи, пцIышхуэм, Сосрыкъуэ, сэ илъэс пщыкIутIщ сызэрыхъур,-жи Бадий дэхьэшхыурэ. - Мы си куэ цIынэхэр Жаншэрхъым пихауэ биижьхэм сыщыщIатIэжым щыгъуэ, сыкъэдзыхэщ аби, Тхьэшхуэм селъэIугъат, мы си псэр пыту сыщIумыгъатIэ жысIэри. Тхьэшхуэр къысхуеплъыхщ аби, «Сосрыкъуэ,-жиIэгъат,- уи псэм иджыри дыхуеижынущи хъумэ. Уи псэр пыту, ауэ псалъэ къыбжьэдэкI мыхъуу илъэс минитхукIэ а щIы фIыцIэжьым ущIэлъа нэужь, Хасэм нагъэкIуэнурэ, нарт Бадий цIыкIу укърагъэутIыпщыжынущ»,-жиIэри. Илъэс минитхукIэ уи цIэр гукIэ схъумащ сэ, Бадий! ЖысIэ мыхъуу схъумащ! Уи псэр пытрэ уи бзэр мыIуу ущыпсэум деж, махуэр илъэс къыпщохъу. Иджы хуит сыхъужащи, жыIэ узыхуейр: бийуэ щыIэм я нэр къистхъынщ, щIым мызахуэу тетыр зэхуэдэ сщIынщ! - Илъэс минитхукIэ мы щIы псыIэм ущIэлъамэ, уи Iэпкълъэпкъыр улъиякъэ, ар дагъэ егъэфэн хуейкъэ? - Псэр мыулъияуэ Iэпкълъэпкъыр улъийркъым,-жи нартыжьым. – Сэ си псэр фэ фхуэсхъумащ. Бадий Iэджэм щIэупщIэну хуейт, ауэ зэманыр къаймэщIэкIырти, хъуртэкъым еупщI. ИтIани щIалэ цIыкIум зрелъэфыхь: еупщIынуи нартым ирикуркъым, зригъэщIэнуи щIохъуэпс. Сосрыкъуэ гу лъетэ Бадий зэрыIэнкунми, игъэгушхуэу Iэ къыделъэ: - УмыукIытэ, Бадий, зыгуэркIэ укъызэупщIыну ухуеймэ, къызэупщI,-жи Сосрыкъуэ. Бадий и Iэгур нартым и Iэпщэм ирегъажэ – кърегъажэри, и нэ фIыцIитIымкIэ къыхудоплъей. - Сосрыкъуэ, уэ уробот? – жеIэри игъащIэ лъандэрэ зыгъэгумэщI упщIэр кърет, итIанэ плъыжь мэхъури и щхьэр ирегухыж. - Хьэуэ, къуэш, сэ мывэм сыкъилъхуами, сыцIыхущ, псэ сIутщ, уеблэмэ си куитIыр лыпцIэрэ къупщхьэу зэфIэтщ. - НтIэ ахэр Жаншэрхъым пихатэкъэ? - Пихат, ауэ Лъэпщ и IэмыркIэ пыкIэжащ. - Къысхуэгъэгъу, Сосрыкъуэ, иджы Хасэм я лъэIур бжезмыIэу хъункъым: Iуэхур пIащIэгъуэщ. - ЖыIэ, си щIалэ, сэ сыхьэзырщ. - Чынтхэр Абхъазым къатеуащи, я цIыхур зэтраукIэ, я унэхэр ягъэс, я хэкур яхъунщIэ. Уэ Абхъазым уакъыщымыжмэ, хьэлэч зэтохъуэ. Сосрыкъуэ зригъэзыхщ, мащэ куум иIэбэри, маисащхъуэ джатэр кърихыжащ: - Уэхьэхьей, си щIалэ, сэ Тхьэшхуэм сыкъызыхуигъэщIар аракъэ! Сэ Сэтэней гуащэ сызыхуигъэсари аракъэ! Сэ Лъэпщым сызыхуиузэщIари аракъэ! – жиIэри, щIытI маршынэм и хъупыжь Iэтам джатэмкIэ еуэщ аби, и пщэдыкъым деж къыщыпигъэхуащ. ИтIанэ джатэр ирелъхьэж, ХьэрэмэIуащхьэ дожри, мы дуней псор къигъэдаIуэу маджэ: - Уэхьэхьей, жэр зыщIэмыхьэжу си Тхъуэжьеижь, мы дунеижьым утетыжыххэмэ, къэс! – жеIэри. Асыхьэтым зы шытхъуэ дахэ уэм хэту къос, и дамитIыр зыгуелъхьэж аби, нарт Сосрыкъуэ и пащхьэм къоувэ: - Уащхъуэ мыващхъуэ кIанэ,-жи Тхъуэжьейм.- уэ лIы ухъумэ, сэ шы сыхъункIэ! Бадий Iуащхьэм дожейри шым и жалым щIоувэ, Iэ дилъэу, Тхъуэжьейми ар и гуапэ мэхъури и нэкIур къыщехъуэ. - Тхъуэжьей,- жи щIалэ цIыкIум,- уэри илъэс минитхукIэ упсэуа? - ЛIыр псэууэ шыр лIэркъым,- жи Тхъуэжьейми. – Сэ Сосрыкъуэ сыпэплъэу мо къуршыщхьэм ситащ. Сосрыкъуэ йощыгуауэри мэшэс. - Айдэ-тIэ, Бадий, фIыкIэ дызэIущIэж! – жи нартым. - Сэ-щэ? – къоуIэбжь Бадий. - Ей, си щIалэурэ щIалэфI, Хасэм я унафэр нартым я Iуэхуфэщ, уэ географым еджэ! - Ар дауэ! – Бадий къызэфIонэ. – Сэ уэ мы щIы фIыцIэжьым укъыщIэзгъэкIыжауэ, уэ ныбжьэгъуу сыкъызомыпэсу! - Узахуэщ,- Сосрыкъуэ йоIэбыхри, Бадийр и шыплIэм къыдегъэтIысхьэ, а напIэзыпIэм Тхъуэжьейм зеIэтри уэгум йохьэж. ЗэныбжьэгъуитIым хы Iуфэр къалъэтыхь, я къуэшхэр дэндеж щытми зрагъэлъагъу, бийр дэнкIэ къикIми зрагъащIэ. Абхъаз хэкур, жэнэтым хуэдэу, щхъуантIэт, псы уэрхэр кIантIэу щежэхыу, я жыгхэм дыгъэ шыр цIыкIухэр пызу, езыри Iуащхьалъэ дахэу… Тхъуэжьейм и дамитIыр зыгуелъхьэж аби, Iуащхьэ хъурей гуэрым тоувэ. Нарт Сосрыкъуэ и джатэр кърех, егъэкIэрахъуэри Iуащхьэшхуэ гуэрым хуеший: - Пылыр зилу, жырыр зи пкъыу, жырыпкъейуэ абхъазыкъуэ Абрэскил[1] - жеIэри маджэ. – Уи лъэхъур зэпыуди къыщIэкI: ди лъэпкъыр чынтыдзэм яшх. Арыххэу щIыр мэщэнауэ, къуршыр мэзджыздж, щыблэр мауэ, Iуащхьэшхуэр щхьэщоукIуриикI аби, Абрэскил къыщIокIыж. А дакъикъэм дыгъэр къурш сыджым къытеува къудейти, Абрэскил абы щыIуплъэм, къэгумэщIауэ и IэшхуитIыр еIэт: - Я дэ ди Тхьэ,- жи,- илъэс минитхукIэ уэ къыпхуэзэшам уи дахагъэр сыткIэ къыгурыIуэн! Бадий йоплъ Абрэскили – Абрэскил и нэпситIыр къожэх. Бадий Сосрыкъуэ къыхуоплъэкIыж – Сосрыкъуэ и нэпситIри къыщIолъэлъ. Тхьэм ещIи, лIитIыр дыгъэм еплъу куэдрэ щытыну къыщIэкIынт, чынт топышэр я кум къыдэхуэу къэмыуэжамэ. Сосрыкъуэ и Тхъуэжьейр абдеж занщIэу егъалъэри Абрэскил бгъуроувэ, къопсыхри сэлам зэрах. - Къэхъуар сыт, нартхэ я Сосрыкъуэу, СосрыкъуапцIэу, лIы фIыцIэ гъущIынэу, емынэ шу? – жи Абрэскил. Сосрыкъуэ и джатэр ешийри: - Модэ плъэт,-жи,- Гумыста[2] лъэныкъуэкIэ: уэ плъэгъуами ящымыщу, сэ слъэгъуами яхуэмыдэу чынтыдзэ къежьащ. Месри, хы гъунэм Iуту жыр благъуэхэр къопщ, мафIэр къаIурылъэлъу; модэкIэ къуэ дыджхэм дэту щыблищэр къэзэдагъауэ. ЦIыхур зэтраукIэ, унэхэр зэтрагъасхьэ, хэкур яхъунщIэ. [1] Абрэскил – абхъазым я лIыхъужь щэджащэу эпосым хэтщ. [2] Гумыста – Сухъум блэж псышхуэ. - Ауэ щыхъуакIэ сэри си шыр къэзывгъэшэж,- Абрэскил, и IитIыр и жьэм деж Iуелъхьэри, уафэгъуагъуэ макъкIэ маджэ: - Уэхьэхьей, си Арашыжьу шэри жьыри зыщIэмыхьэж, мы дунеижьым утетыжыххэмэ – укъызэрысын! – жеIэри. Абдежым тенджызыр къоукъубей, къуршыжь хуэдизу толъкъунхэр къызэроIэт. Хы фIыцIэм къыхолъэтыж аби, Абрэскил и пащхьэм пщIэгъуалэ къазыр къоувэ: - Уащхъуэ мыващхъуэ кIанэ,-жи,- уэ лIы ухъумэ, сэ шы сыхъункIэ! Абрэскил и Арашыжьым [1] IэплIэ хуещI, Iэ делъэри мэшэс: - Сэ сыхьэзырщ,- жи. Арашым ар имыдэу и щхьэр егъэкIэрахъуэ, кIэбдзитIымкIэ тету зретIэр аби, мэщыщ. Хы ФIыцIэм къунан пщIэгъуалэ къыхоцIэфтри, Бадий и пащхьэм къоувэ. ЩIалэ цIыкIур абы хуэмыарэзыуэ и бгъур хуегъазэ. - СлIо, Бадий, алъп къунаныр зумыпэсу ара? – Сосрыкъуэ и пащIэкIэм щIогуфIыкI. - НтIэ, уэ лIы ухъум сэ шы сыхъунщ жиIэу щхьэ къызжимыIарэ? ЛIитIри шитIри мэдыхьэшх. Къунаным Бадий зыкъыщехъуэ. - Абы иджыри нартыбзэ ищIэркъым, Бадий, зыхуумыгъэгусэ,- жи Сосрыкъуэ. – Абы нэхърэ шэси, мо Ерцэхъужь[2] и щыгум къиувэ аби, бийм якIэлъыплъ: жыр благъуэхэр къежьауэ плъагъумэ, уи Iэ сэмэгур Iэт – сэ абыхэм яхуэфI сыхъунщ. Щыблэхэр къыщыуэкIэ, къыздиукI къуэладжэр зэгъэлъагъуи, уи Iэ ижьыр абыкIэ ший – си ныбжьэгъужьым абыхэм ярищIэн къигъуэтынщ. Сосрыкъуэ жыр благъуэ жыхуиIэр танкхэрат, щыблэ зыфIищар топхэрат – абы игъащIэм танки топи илъэгъуатэкъыми мобыхэм яригъэщхьу къыщIэкIынт. Арати, Бадий и алъп къунаным зредз аби, Ерцэхъу и щыгум къохутэ. И Iэ сэмэгури еIэт, и Iэ ижьри еший: чынтыдзэр къэхъеяуэ арат. - Игъуэ хъуащ, - жи нарт Сосрыкъуэ. – Сэ сокIуэтэхри мо жыр благъуэжьхэм сапоув, уэ кIуати, абхъазыдзэм яхэувэ аби, зы щыблэшэ къахомыгъахуэ. Ди пыIэжьыр япэгъэтIысащ чынтми чынтыдзэми! Абрэскил Арашым йолъэдэкъауэ, Араш зеIэтри абхъазыдзэм яхохьэ. Абы хэту чынтым я топыр къоуэри, топышэр пэгун хуэдизу къокIуэ, хъуаскIэр къыпылъэлъу. Араш зречри топышэм пожьэ. Абрэскил топышэр къеубыдри къыздэкIа къуэладжэм дедзэж. Топышэр къоуэж аби, къуэладжэм дэтри дэсри зэпкъреуд. Аргуэру зы топыжь къогъуагъуэ, абы и шэми ар дыдэр къыщощI. Арыххэу топ зытхух зэкIэлъхьэужьу къогъуагъуэ. Абрэскил и джатэр кърепхъуэтри, къэсым еуэм, къэсым еуэм, къэсым еуэурэ, топышэхэр зэгуеупщIыкI аби, къэмыуэжхэу кърегъэлъэлъэх… Абхъызыдзэр гушхуауэ чынтыжьхэм йобгъэрыкIуэ. Сосрыкъуи бгым йокIуэтэхри жыр благъуэжьхэм япэщIоувэ. Япэ ит танкым и пэ кIыхьыжьыр къытрегъапсэри, нартым къоуэр аби, къреуд. - Ар сыт уэкIэ, Тхьэр зэуэн, сыбукIти! – жеIэ Сосрыкъуи къыщолъэтыж, танкым и пэ шияр еубыдри, къеIэт аби, егъэкIэрахъуэ, егъэкIэрахъуэри хым хедзэ. – Тхьэр бгъэпцIащ уэ абы укъыхэмыпщыжмэ!.. КъыкIэлъыкIуэ танкым йоIэдэкъауэ Сосрыкъуи, бгым щедз, а Iеижьри щхьэпридзауэ йожэхри, и пэ кIыхьыр щIым хэсарэ езыр къыдэгъэзеяуэ мэув. [1] Араш – Абрэскил и шым и цIэращ. [2] Ерцэхъу – Абхъазым я нэхъ Iуащхьэшхуэращ. Ещанэ танкыр IитIкIэ къепхъуатэ, лъагэу еIэт аби, еплIанэ танкым йоуэри, танкитIри, къэнжал банкIым ещхьу, еупIышкIури хыфIедзэж. Ар зылъэгъуа адрей танкыжьхэм заублэрэкIри, гъуэгыу щIопхъуэж. Чынтым я пащтыхьыр лIы хьэрэмыжьт, жи, и нэкIур фIыцIэрэ и щхьэцыр хужьу, и пащIэжьитIыр и дамитIымкIэ щхьэдэдзыхарэ щIым телъу илъэфу, щIэпхъуэн хъуамэ, сабэлэрыгъуейр къиIэту. Арати, пащтыхьыр и тахътэм йотIысхьэ, и дыщэ тажыр зыщхьэретIагъэри, инэралыжьхэр иреджэ. Инэралищэ зэуэ щIохьэ пащтыхьым дежи лъэгуажьэмыщхьэ зрагъауэ. - СлIожь, хьэ бын, къыфщыщIар? – пащтыхьым и нэщхъыр къахузэхеукIэ, инэралыжьхэри мэкIэкуакуэ. – Мо Iэбжьыue мыхъу абхъазым щхьэ фыкърагъэкIуэтрэ? Япэ ит инэрал фIыцIэжьыр, нэмэз ищI нэхъей, унэ лъэгум натIэкIэ йоуэ: - Мы дунеижьым и тепщэу зи пщыгъуэр имыухыж, къытхуэгъэгъу! – жи. – Дэ дыкъизыгъэкIуэт щыIэщ. - ЩыIэр сыт? - Нарт Сосрыкъуэ къэтэджыжащ, къакIуэри Абрэскил хуит къищIыжащи дапэлъэщыркъым: топкIэ доуэри – топышэр къаубыдри къытхадзэж; танкыр ядоутIыпщри – танкыжьхэм лъапэкIэ ироджэгу… Пащтыхьыр банэ мафIэу къызэщIонэ: - Делэ гуп, - жи, - апхуэдэлIхэм къарурэ IэщэкIэ пэуврэ! Хъуагъэщагъэ, бзаджагъэ, Iэмал, пцIы, щхъухь!.. Аращ нартхэм зэратекIуэ хабзэр! Феуи санэфI дыдэу зы фэндырэ къафщтэ, зыгъэжей щхъухь куэду хэфкIутэ, Абрэскил хуэфхьи батырыбжьэу си цIэкIэ ефт. Абыхэм батырыбжьэм зыри кърамынэу ираф. Ар ирифа нэужь, Абрэскил жэщищ-махуищкIэ жеинущ, мис абы ирихьэлIэу, бомбэр и ныбэгум техуэу евдзых – Тхьэр игъэпцIащ ар абы къемылмэ! ГурыIуэгъуэ? - ГурыIуэгъуэщ, зиусхьэнышхуэ, ауэ мыдрейм етщIэнур сыт? - Сосрыкъуэм Iуащхьэ лъапэ хуэмыгъуэщ: фыкъыпикIуэтурэ Iуащхьэшхуэ лъапэ къыщIэфшэ. «Уэ унартыр пэжмэ, Жаншэрхъ къыддэджэгу!» - жыфIи тонипщI бомбэ хуевутIыпщхьэх – а бомбэр къауэмэ, Тхьэр игъэпцIащ Сосрыкъуэжьри абы къемылмэ! Айдэ, маржэ! Арати, зэрызэгурыIуам хуэдэу ящI. Санэ фэндырэм щхъухь пэгун хакIутэ, инэрал фIыцIэжьыр я пашэу лIы гупым фэндырэр яхьри Абрэскил хуаший: - Уи лIыгъэмрэ уи гуащIэмрэ я щIыхькIэ мы батырыбжьэр ди пащтыхьышхуэм къыпхудигъэхьащ,- жаIэри. Бзаджагъэ зигу къэмыкI лIыр мэгуфIэ, фэндырэр яIех, и лъащIэр щIеуд, егъэщIейри ткIуэпс къримынэу иреф. - Санэ гъуэзэджэт, фи пащтыхьыжьми Тхьэр арэзы къыхухъу! – жеIэри фэндырэр къаретыж. Чынтхэр зэрыIукIыжу, Абрэскил жейр къытоуэ. Абрэмывэ и щхьэм щIедз аби, мэгъуэлъри занщIэу Iурех. Абы и пырхъ макъыр чынтхэм зэрызэхахыу, тонипщI бомбэжьыр илъу кхъухьлъатэр къаутIыпщ. Кхъухьлъатэр псом япэ Бадий къелъагъури къыгуроIуэ абы и мурадыр. Iэ ижьыр еIэтри – хъуркъым, Iэ сэмэгур ешийри – хъуркъым. ИтIанэ Бадий и IитIри еIэт. Сосрыкъуэ ар щилъагъукIэ къэмыхъун къызэрыхъуар къыгуроIуэ. Арыххэу и нэ тохуэри – зэрамыщIэжу зы бгъэжь къакIуэу къелъагъу. Нартым бгъэ къыфIэщIар кхъухьлъатэрат. Сосрыкъуэ и шабзэр къызэфIедзэр аби, мауэри Абрэскил и щхьэм щIэдза мывэжьыр щIегъэз. ЛIым и щхьэр къырым зэрытехуэу къоушри къыщолъэт. - Сыт къэхъуар? – жи. - Умыбэлэрыгъ, си къуэшыжь: Анакъ[1] къэсащи укъеуфэрэзыхь,-жи Сосрыкъуэ. – Умыбэлэрыгъ! Пэжуи кхъухьлъатэр къэсауэ Абрэскил къиуфэрэзыхьырт, къызэреуэным зыхуигъэхьэзыру. - ЦIыхул зэрашхыр щызмыгъэгъупщэжмэ Тхьэр си бийкъэ! – жеIэ Абрэскили, мэракIуапцIэм хуэдэ и аркъэныр къыкIэретIэтыкI, егъэкIэрахъуэ-егъэкIэрахъуэри, едз аби, Анакъ и пщэм фIегъэлъадэ, гъуэгрэ зифыщIыжу кърелъэфэх. Зыбгъэдилъафэрэ еплъыпэмэ – кърилъэфэхар бгъэтэкъым, гъущIым къыхэщIыкIауэ шейтIан IэщIагъэт. Абрэскил кхъухьлъатэм иIэбэм, чынтхэр кърихыурэ, абхъаз зауэлIхэм къахуидзащ: - Мэ, щIалэхэ, мыбыхэм я унафэр фэ фщIы, - жиIэри. – Дэ гъэр дыукIыу ди хабзэкъым. - И аркъэнри къыпщIэхехыжри, кхъухьлъатэри къарет: - Сэ мы гъуамэм зыри хэсщIыкIыркъым, - жи. – Фэ къыфщхьэпэжынщ. Абхъаз щIалэхэр мэгуфIэри кхъухьлъатэм йотIысхьэ, заIэтыр аби, чынтыдзэм ящхьэщохьэри тонипщI бомбэр ныхадзэ. Бомбэжьыр, щыблэ миным хуэдэу, къоуэри дивизэ псо ирех, я инэралри яхэту. - Ахьа, я шэр я щхьэм ихуэжа! – пащIэкIэм щIогуфIыкI Абрэскил. МыдэкIэ нарт Сосрыкъуэм аргуэру благъуищэр къраутIыпщ. Бадий и Iэ сэмэгур еIэт. Сосрыкъуи жыр благъуэхэм я хьэлыр къищIати, джабэм кIэрохьэри къыр гуэрым къоувэ, благъуэжьхэр къыщыскIэ, абрэмывэкIэ къеуэурэ, щыхупIэм ирегъэлъэлъэх. Къэнам заублэрэкIри щIопхъуэж. Сосрыкъуэ абрэмывэкIэ якIэлъыуэм, яужь къинар иупIэщIурэ ехуж благъуэжьхэр. Чынтхэр зыхуеиххэрати, Сорыкъуэ Iуащхьэмахуэ лъапэм къыщохутэ. Iуащхьэ щыгум зым нэхърэ зыр нэхъ пIащэу лIы гупышхуэ тетти, инэрал фIыцIэр къахогуоукI: - Уэхьэхьей, - жи, - нарт Сосрыкъуэу, СосрыкъуапцIэу, лIы фIыцIэ гъущIынэу, емынэ шууэ ем хузэтес, уэ улIыр пэжмэ, Жаншэрхъ къыддэджэгу! [1] Анакъ – таурыхъхэм хэт бгъэшхуэм и цIэщ. - Си пыIэжьыр фпэгъэтIысащ! – жи нартыжьми. Ерцэхъу къоплъых Бадии, тонипщI бомбэр къелъагъу. Мэгузавэри аргуэру и IитIыр къеIэт. Сосрыкъуэ къыгуроIуэж зэрышыпIэртIэхъуар, арщхьэкIэ нарт и псалъэ епцIыж хъуртэкъыми, уэхьэхьей, жеIэри мэгуо: - Сэ сыхьэзырщ! - НокIуэ, Сосрыкъуэ! – жи инэрал фIыцIэм. – Укъигъэгугъэмэ, IэдакъэкIэ къеуэ! ЛIищэ къызэдоIэр аби, бомбэжьыр къраутIыпщхьэх. Бомбэр бгы лъапэм къызэрысу, нартыр IэдакъэкIэ йоуэри, фийуэ дрехуеиж. Щыгум нэсыжа-нэмысыжауэ, щыблэшэ миным хуэдэу, къоуэр аби, тетахэри зытетахэри ирех. Iуащхьэшхуэр зэрытам деж псынэ цIыкIу къыпхыреудри къыдреутхей. Абы нарт Сосрыкъуэ и Псынэ фIащауэ нобэми къыщIож, ныжэбэми къыщIож, илъэс минитхукIи къыщIэжыну жаIэ. Хъыджэбз цIыкIу кIуэрэ, я нэкIум щакIэмэ, тхьэIухуд хъуауэ IуокIыж; щIалэ цIыкIу кIуэрэ хэфмэ, нарт хъуауэ мэкIуэж; нэгъуэщI лъэпкъ кIуэрэ зыIуигъахуэмэ, абхъазыбзэкIэ псалъэу къегъэзэж… Зыхэвмыгъэн, маржэ! Инэрал фIыцIэжьыр щисыкIым, чынтхэм инэрал сырыхужь гуэр пашэу ягъэув. Инэрал сырыхужьыр пащтыхьым иреджэри къохъурджауэ: - Фэ гъуамэхэм зыгуэри къыфхуэгупсысыркъым, - жи, - нэгъуэщIым къигупсысари фхуэгъэзащIэркъым! - Абхъазым нэ бзаджэ яIэщ, - жи инэрал сырыхум. – Ар Ерцэхъу и щыгум къытрагъэуващи, сыт тщIэми елъагъу. А нэр идмыщIауэ дэ абхъазым дапэлъэщынукъым. Пащтыхьыжьыр и тахътэм къокI, лъэгуажьэмыщхьэу щыт инэрал сырыхужьым и жьэпкъыпэр еубыдри, цыкъ-цыкъ-цыкъ жиIэу и дзэхэр хузэтрегъауэ. - Шхэн фIэкIа уэ узыхуэIэзэ мы дунейм теткъым! – жи. – Бадий тхьэмахуэ хъуауэ емышхэрэ, емыфэрэ, мыжейуэ тетщ а Iуащхьэм: е нобэ е пщэдей щхьэукъуэнурэ Iурихынущ ар. Иджыпсту тэджи гъэзэж аби, уи нэрыплъэжьыр зыIудзи, уи нэр мыупIэрапIэу еплъ. Бадий зэрыщхьэукъуэу, вертолет гъакIуэ аби, и къунаным зэрытесу къегъэхь. Инэрал сырыхужьыр пащтыхьым и уардэ унэжьым къыщIожыж, уд бзаджэ гуэр яIэти, ар здешэри зауэм мэкIуэж. Удыр Iуащхьэ гуэрым тоувэри, Бадийм ебжу щIедзэ – игъэжеину. Инэрал сырыхур удым бгъуроувэри, и нэрыплъэжьыр зыIуедзэр аби, Бадий йоплъ. Удыр йобж, инэралри йоплъ; удыр йобж, инэралри йоплъ. АрщхьэкIэ, Бадий мыщхьэукъуэу, инэрал сырыхум пырхъын щIедзэ. Чынт сэлэтхэм пэгункIэ псы щIыIэ къахьым-къытракIэурэ къагъэушыж. Аргуэрыжьти, удыр йобж, пщIэнтIэпсыр ирикъуэкIыу; инэралри йоплъ, пщIэнтIэпсым и нэр щIисыкIыу – Бадийр яхуэгъэжейркъым. Пащтыхьыжьыр къокIуэри Акъуэ[1] къыдотIысхьэ, шхыдэрэ хъущIэу… Сытми зы зэман зэ Бадийм и щхьэ бэлацэ цIыкIур къыфIощIэри Iурех. Къунанри зэфIэту мэжей. Инэрал сырыхур зыхуеиххэрати, и вертолет сырыхужьыр егъакIуэ: - Къэвмыгъэушу къэфхь, - жеIэри. Вертолет сырыхужьыр Бадий щхьэщоувэ, кIапситI къредзыхри, къунаным и ныбэм къыщIеу аби, къеIэт. Шу зэтесыр жейуэ кърехьэжьэ. Нарт Сосрыкъуэ ар щилъагъукIэ, мэгузавэр аби, и шабзэр къызэфIедзэ, мауэри, вертолет сырыхум и кIапситIри зэпеуд аби, Бадийр къыIэпегъэху. Къызэрыпыхуу шыри щIалэри къоушыж. Къунаным Iэшэлъашэр къеуфэрэзыхьри къоувэхыж. Бадий и джатэ кIэщIыр кърелъэф аби, АкъуэкIэ ешийри, «уэхьэхьей!» - жеIэри йолъ. Абхъазыдзэми защтэри Акъуэм шэмпаул ирадз[2]. Ар зылъагъу Абрэскилрэ Сосрыкъуэри абыхэм якIэлъыщIопхъуэ. Къаруи лIыгъи къызыхуэмынэжа чынтыдзэр зэрызехьэу щIопхъуэж, я пащтыхьри ягу къэмыкIыжу. Къэхъуар къыщыгурыIуэм, пащтыхьыжьыр ныкъуэшхэу къыщолъэтыж аби, и пащIэкIитIым сабэлырыгъуейр къаIэту, уэрамым къыдолъадэ: - Уэихь! – жи. – Фи пащтыхьыжьыр къэвмыгъанэ! АрщхьэкIэ зы инэрали зы сэлэти къыхуеплъэкIакъым: щхьэж и щхьэр зэрыхихыным и ужь итт. Арыххэу Бадий щIэрохьэр абы. «Уарэ, мы цIапIэжьыр сыт?» - жеIэри, йоIэбых аби, сабэр къэзыIэт пащIэкIитIыр къеубыд, и шыкIэм къыкIэрещIэри, Абрэскил деж къелъэф пащтыхьыжьыр. [1] Акъуэ – Сухъум и абхъазыцIэщ. [2] Шэмпаул едзын – ебгъэрыкIуэн. - Мыр сыт, дядэ? – жеIэри Бадий Абрэскил худоплъей. - Мыр сыт, си ныбжьэгъужь? – жеIэри Абрэскил Сосрыкъуэ хуоплъэкI. - Мыр сыт, щIалэфIхэ? – жеIэри Сосрыкъуэ дзэм къахоплъэ. - Чынт пащтыхьыращ! Бэлыхьым дыхэзыдзаращ! – зэрогъэкIий дзэр. - Ахьа, си бжьыр зыдыгъуа! – жеIэ Абрэскил, пащтыхьым и пащIэкIитIыр еубыд аби, егъэкIэрахъуэ-егъэкIэрахъуэ-егъэкIэрахъуэри тенджызым хедзэ. Тенджызым зы джеижь закъуэ хэсти, пащтыхьыр абы и ныбэм йохуэ. Зи напэр фIыцIэ пащтыхьыр дунейм зэрытекIыжу, чынтхэм я нэри къоплъэж, щIэпхъаджагъэшхуэ зэращIар къагуроIуэж аби, я напэр сыуэ, я щхьэр къахуэмыIэтыжу Ингурыпс зэпрокIыж… Абрэскил Ингур[1] Iуфэ деж къоуври абхъазыдзэр къегъэувыIэ: - Си щIалэхэ! – жи. – Iэщэ фIыгъыу Ингур фимыкI, Iэщэ зыIыгъи къивмыгъэкI. Абхъази, адыги, шэшэни, Iэсэтини – а дзэм хэтахэм я джатэпэр егъэзыхауэ Тхьэ яIуэ: - Уащхъуэ мыващхъуэ кIанэ, Iэщэ тIыгъыу Ингур дызэпрымыкIын, Iэщэ зыIыгъи къызэпрыдмыгъэкIын! – жаIэри. Абы иужькIэ Абхъазым цIыхуу исыр Акъуэ щызэхуосри уэредадэр ягъэш жэщищ-махуищкIэ. Абрэскил, Сосрыкъуэ, Бадий батырыбжьэр къратыным Iуэхур щынэсым, щыри ягъуэтыжакъым. ЗдэкIуар ямыщIэу щыри бзэхащ. Щыри Ерцэхъущхьэ дэкIуеижауэ тести, Сосрыкъуэ къэпсалъэри жиIащ: - Бадий, мызыгъуэгукIэ уэ бгъэхъар куэдщ. Афэрым! – Иджы кIуэж Инэмыкъуэ: уи анэр магъ, уи адэр мэгузавэ. Географри зэбгъэзэхуэжын хуейщ. - СыткIэ сызэрыкIуэжынур? – жи Бадий. Абы хэту алъп къунаныр къожэри Бадий и пащхьэ къоувэ: - Уащхъуэ мыващхъуэ кIанэ, - жи, - уэ лIы ухъумэ, сэ шы сыхъункIэ! Сосрыкъуэрэ Абрэскилрэ къоуIэбжь: - Iау, нартыбзэ ебгъэщIаи уи шым! – жаIэри. - Хъарзынэу мэпсалъэ, - жи Бадий. – Ауэ грамматикэмкIэ тIэкIу йощIэкъуауэ. - Ар Iуэхукъым, - жи Сосрыкъуэ. – Сыт шым грамматикэ зэрищIынур! Абы нэхърэ фIэпщар къыджеIэт? Бадийрэ къунанымрэ Iэнкуну зоплъыж. - Уэи, ар сигу къэмыкIыжа! – жи Бадий. Щыми я зэгурыIуэкIэ къунаным фIащ Iэриш. Езы къунанри арэзыуэ къощыщ. - Ар хъунщ, - жи Абрэскил. – Ауэ нартхэм джинс гъуэншэджкIэ къакIухь хабзэ? Апхуэдэ фащэкIэ удутIыпщыжмэ, Хасэми сыт жиIэн! Абрэскил и къэлътмакъым йоIэбэри, адыгэ фащэ еку кърех аби, Бадийм къыщетIагъэ. Сосрыкъуи и хъуржыным кърехри дыщэ таж къыщхьэретIагъэ. ИтIанэ Iэришым къагъэшэсыж аби, и тажыр дыгъэм пэлыду Къэбэрдей къаутIыпщыж. Абрэскилрэ Сосрыкъуэрэ Ерцэхъу къытонэ. Пщэдджыжь къэскIэ, дыгъэр къыщыщIэкIым деж, а тIум Iэдакъэжьауэ ящIри, Абхъазым и гъунапкъэр къаплъыхь. Бий къакIуэу щамылъагъукIэ, зэбгъуротIысхьэжхэри, я нэгу щIэкIахэр зэхуаIуэтэжу тесщ. Абрэскилрэ Сосрыкъуэрэ абдеж тесыху, Абхъазым бий къихьэнукъым, уэгъу къатепсыхэнукъым, уае къатехъуэнукъым, узи къахыхьэнукъым. А тIур абдеж зэрытесыр зыми ищIэркъым, Бэграт ЖьакIэхум фIэкIа. Пщэдджыжь къэсыхукIэ, дыгъэр къыщыщIэкIым деж, Бэграт, и жьакIэр жьым щIихурыхукIыу, балконым къохьэри, и жэз нэрыплъэжьыр зыIуедзэр аби, Ерцэхъущхьэ доплъей: Сосрыкъуэрэ Абрэскилрэ зэбгъурысу щилъагъукIэ, игу зэгъауэ щIохьэжри, тхылъ итхыу мэтIысыж. [1] Ингур – Абхъазымрэ Грузиемрэ яку дэж псыежэх.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "nartkh-r.txt" }
ФIыуэ зэрылъагъухэр Дэнэ щыIэ а фIыуэ зэрылъагъухэр, дэнэ? ЛIэныгъэр щыпхыкI мы щIыпIэм адэкIэ, Ягухэр куэдкIэ нэхъ щонэдж дэр нэхърэ, IэджэкIэ нэхъ дахэу псэупIэ гуэр и деж Уафэ щхъуантIэм и лъагапIэм ТхьэIухудхэм ябгъэдэтыпэу, Щытхъу, лъагъуныгъэ уэрэд къыщыхуаубзэрабзэ Тхьэм и лIыкIуэ Хьисэ и анэм. Уа, хужьыр зи фащэу нэIэр зытелъ! ГъагъэкIэ зэщIэбла бзылъхугъэ! Гуауэм ягъэгъуэлэжауэ Бгынэжа щхьэгъусэ! Ар зи кууагъ жэнэтыр КъыщIогуфIыкI фи нэхэм, Щывгъэлыд уафэм, а щIыпIэ махуэм, Мы ди дунейм щыункIыфIыжа уэздыгъэхэр. Анэшхуэ Илъэсищи хъужащ зэрыщымыIэжрэ… Сыту цIыхубз хъарзынэт…щыдахым, Благъи, лыи, цIыхугъи, мыцIыхуи Гъахэт, бжахэт, гум къыбгъэдэкIыу Ауэ сэ зыр срикIукIыу сыкъыщIэнат унэм Сынэщхъеин ипIэкIэ сыщтэIэщтаблэуи, сагъэемыкIуат: «И кхъаблэм мыпхуэдэу щэхуу, Нэ гъущэкIэ уеплъу ущхьэщыт хъурэт?» Щыгъуэным и зэрызехьэр иухщ, ежьэжри, ИлъэсищкIэ гуауэу, гуапэу къэхъуахэм ИралъэщIыкIыжащ хэт и гуи, а махуэм и гукъинэр. Ауэ сэ си нэгу щIэтщ а махуэр, согъ щIэх-щIэхыурэ Илъэсищ лъандэрэ нэхъ къеблурэ кIуэ пэтыху. Жыг лъэдийхэм хэIущIыхьа тхыгъэхэм хуэдэурэ Си гум хокIуатэ зэпыт и гукъинэр. Мэзым Бзур къраш, бзур мэубзэрабзэ гъатхэм, И уэрэдыр зэхэфхкъэ, уа? Уэху! Сыту зэщыщхъу, зэфэзэщ, сыту гум щыхэхьэрэ Бзум и макъыр мэзым… Гъэмахуэщ… Бзухэр зэлъохъу, Бзури мэгуакIуэ, зэ'щ зэрыгуакIуэри и гъащIэм. Сыту IэфI, сыту щэху, сыту гум зыкъыдищIрэ Мэзым хэт абгъуэм… Аурэ бжьыхьэ махуэ уфахэр къосри Зеущэхуж бзум, щIыIэхэр къимублэ ипэ. Еууей! Сыту Iуэхушхуэ гъеиныр мыамалу Бзур зэрыщылIэжынур мэзым. ЗэзыдзэкIар Гуащокъуэ Абдулщ
{ "source": "adygabza.ru", "id": "nerval.txt" }
ЗЭРЭТУШТРЭ АПХУЭДЭУ ЖИIЭТ Япэ Iэхьэ ЗЭРЭТУШТРЭ И ПЭУБЛЭ 1 Зэрэтуштрэ илъэс щэщI ирикъуа нэужь, и хэкури, и хэкум и гуэлри ибгынэри къуршхэм Iэпхъуащ. И псэмрэ и закъуэныгъэмрэ ядэтыншу щыпсэуащ ар абы, илъэсипщIым и кIуэцIчIи къыIэщIэужэгъуакъым. Ауэ иужьым и гум зихъуэжащ. Пщэдджыжьхэм я зым нэхущым къыдэтэджщ, дыгъэм и пащхьэ иувэри, мыпхуэдэу епсэлъэн щIидзащ: «Нэхугъэшхуэ! Дэнэ нэсынт уи насыпыр, укъызыхуепсхэр уимыIамэ! ИлъэсипщI хъуауэ укъыщхьэщоувэ уэ си бгъуэнщIагъым: уи нэхуми мы гъуэгуми уи гур къауIэнтэкъэ, си къашыргъэмрэ си блэ’мрэ сщIыгъуу дыуимыIамэ?! Ауэ дэ пщэдджыжь къэс дыппоплъэ, уэ езым къолеечIыр къып’Iытхыурэ дынохъуэхъу. Къызэплъыт! Си гур къиуIащ си Iущыгъэм, фо куэдыIуэ зыщIа бжьэм ещхьу; си деж къэшия Iэхэм сахуэныкъуэщ. Тыгъэ сыугуэшу, иримыкъур иризгъэкъуу сыпсэуну cыхуейт, Iущхэр - я акъылыншагъэм, тхьэмыщчIэхэр - я мылъкум щыгуфIычI хъужыху. Абы щхьэкIэ лъэгум семыхыу хъунукъым: уэ нэхугъэчIэ беишхуэр пщыхьэщхьэ къэс хым зыщIэбгъэмбырыуэурэ дунейм и адрей лъэныкъуэм нэху зэрыпхьым ещхьу! Сэри, сызэкIуэлIэну цIыхухэм зэрыжаIэу, сыкъуэмыхьэжу хъунукъым, уэ пхуэдэу. Уэри къызэхъуэхъу-тIэ, насып иныщэм емыижу Iуплъэф нэ гупсэху! Техъуэхъухь къыщыпчIыну из бжьэм, Iубыгъуэ дыщафэр ежэхыу уи дахагъэр дэнэ лъэныкъуэчIи щызэбгрихын хуэдэу! Къаплъэ, мы Iэгубжьэр нэщI хъужыну хуейщ, Зэрэтуштри цIыху хъужыну хуейщ». - Апхуэдэу Зэрэтуштрэ и къуэхьэжьыгъуэм щIидзащ. 2 Зэрэтуштрэ и закъуэу бгым къох, зыри къыхуэмызэу. Ауэ мэзым щIэхьа нэужь, асыхьэтым лъабжьэхэчI гуэрхэр къиулъэпхъэщыну и пщыIэ лъапIэм къыщIэчIа дадэр и пащхьэм къохутэ. Дадэм Зэрэтуштрэ мыхэр къыжреIэ: «Си хамэкъым сэ мы гъуэгурыкIуэр: илъэс зыбжанэ ипэчIэ мыбдежым щызэхэзекIуащ ар. Зэрэтуштрэт и цIэр; ауэ иджы зихъуэжауэ гу лъызотэ. Уи хьэдэр къуршым дэплъэфейт абы щыгъуэ; иджы уи нафIэр аузхэм пхьын уи мураду ара? НафIэ къахэзыхьэм иращIэжынчIи хъунум ущышынэкъэ? Ахьей, къызоцIыхуж Зэрэтуштрэ. И нэхэр къабзэщ, и бзэгупэми гужьгъэжь пылъкъым. Армыраи ар къафэ нэхъей щIызекIуэр? Зэрэтуштрэ зихъуэжащ, сабий хъуащ Зэрэтуштрэ, къэушащ: сытчIэ уащыгугъыу уахэхьэрэ-тIэ жейхэм? Хым утетым ещхьу, уи закъуэу упсэуащ, псым узэрихьэу. Еууей! ЩIым утеувэну уи мурадщ иджы? Уи пкъыр езым къеплъэфэчIын къыщIэбдзэжыну ухуейщ?» «Сэ цIыхухэр фIыуэ солъагъу», - кърет жэуап Зэрэтуштрэ. «Сэри аратэкъэ мэзымрэ къумымрэ сыкъыщIэкIуар? – жеIэ щихъым. - Сэри цIыхухэр фIыщэу зэрыслъагъурт апхуэдэу сэзыгъэщIар! Иджы Тхьэращ фIыуэ слъагъур: цIыхухэр фIыуэ слъагъужкъым. ЦIыхур си дежкIэ нэмыгъэсаиIуэщ. ЦIыхухэр фIыуэ слъагъуу щытамэ, сыкъелынутэкъым абы». «Сыт сэ лъагъуныгъэм теухуауэ жысIар! Сэ цIыхухэм тыгъэ яхуэсхьу аращ», - кърет жэуап Зэрэтуштрэ. «Зыри иумыт абыхэм, - жеIэ щихъым. – ПлIэкIэ яхь хьэлъэхэм яз къеIыхи къадехьэчI – аращ нэхъыфI дыдэу яхуэпщIэфынур, ар уи дежкIи нэхъыфIмэ! Тыгъэ яхуэпщIыну ухуеймэ, факъырэIус нэхърэ нэхъыбэ иумыт, абы щхьэчIи зэгъэлъэIу!» «Хьэуэ, - къет жэуап Зэрэтуштрэ, - сэ факъырэIус стыкъым. Си тхьэмыщчIагъэр абы нэсакъым иджыри». Щихъыр Зэрэтуштрэ къыщодэхьэшхри къыжреIэ: «НтIэ, уи хъугъуэфIыгъуэхэр зыIегъэхыф! Абыхэм хуитырыпсэухэм дзыхь хуащIкъым, тыгъэ яхуэтщIын папщIэ дачIэлъыкIуэуи я фIэщ хъукъым. Уэрамхэм щыдгъэIу ди лъэмакъыр яфIэчIэрыутIыпщыIуэщ ахэм. Жэщу пIэм здыхэлъым, нэху щыным куэд иIэжу къэтэджа цIыхум и Iэуэлъауэ зэхахмэ, зоупщIыж: дэнэ мы дыгъур здэкIуасэр? УмыкIуэ цIыхухэм я деж, мэзым къыщIэнэ! ХьэчIэкхъуэчIэхэм я деж кIуэи нэхъыфIщ! Сыт сэ сэщхьу мыщэхэм уадэмыщэу, бзухэм уадэбзууэ упсэуну ущIыхуэмейр?» «Щихъым сыт-тIэ мэзым щищIэр?» - щIэупщIащ Зэрэтуштрэ. Дадэм жэуап кърет: «Уэрэд зэхэслъхьэурэ жызоIэ; уэрэд щызэхэслъхьэчIэ содэхьэшх, согъ, си жьачIэм сыщIогурымычI: апхуэдэ щIычIэу Тхьэм фIыщIэ хузощI. УэрэдчIэ, гъы макъчIэ, сыдэхьэшхыурэ, сыгурымурэ согъэлъапIэ Тхьэр! Сэ си Тхьэр! КъызжеIэт, уэ сыт цIыхухэм тыгъэу яхуэпхьыр?» А псалъэхэр зэхиха нэужь, Зэрэтуштрэ щихъым щхьэщэ хуищIри, жиIащ: «Сыт сэ фэстыфынчIи хъунур? Нэхъ псынщIэу сывутIыпщыжи нэхъыфIщ, зыгуэр къыфIызмых щIычIэ!» Апхуэдэу ахэр лъэныкъуэ зырызчIэ зэбгъэдэчIыжащ: щихъымрэ цIыхумрэ, тIури сабийхэр зэрыдэхьэшхым хуэдэу дэхьэшхыу. Ауэ и закъуэ къэна нэужь, Зэрэтуштрэ и щхьэ хужиIэжащ: «Дауэ хъун! И мэзым къыщIэнэжауэ щIэс мы щихъ дадэм иджыри зэхихакъым Тхьэр зэрылIар». 3 Мэзым укъызэрыщIэчIыу узыхуэзэ къалэм къэкIуа Зэрэтуштрэ цIыху гуп къызэхуэсауэ кърихьэлIащ: ахэр нэгузыужьчIэ къагъэгугъат - чIапсэрыкIуэ ирагъэлъагъунут. Арати, Зэрэтуштрэ бэм захуегъазэри мыпхуэдэу яжреIэ: ЦIыхудыдэр зищIысыр къывгурыIэн щхьэкIэ вжызоIэ. ЦIыхур, цIыхудыдэ ухъун папщIэ къызэнэчIын хуей гуэрщ. Сыт фэ фщIар ар къызэвнэчIын щхьэчIэ? Псэ зыIут псори нобэр къыздэсым езыхэм нэхърэ нэхъ лъагэ гуэр къазэрыхэчIыным хущIокъу; фэ а толъкъунышхуэм къыхэжа псыхьэлыгъуэ къудейуэ фыкъанэу, хьэчIэкхъуэчIэм и щытычIэм фихьэжыным нэхъ фыхуопIащIэ, цIыхум фыщхьэдэхыным нэхърэ. Сыт номиныр зищIысыр цIыхум елъытауэ? Ауанщ, напэтех гутехуэгъуейщ. ЦIыхури апхуэдэу къыщыхъун хуейщ цIыхудыдэм: ауану е напэтех гутехуэгъуейуэ. Фэ хьэмбылум деж фыкъыщежьэри цIыху фыхъуащ, ауэ хьэмбылум щыщ куэд къыфхэнащ иджыри. Зэгуэр номину фыщытащ, уеблэмэ, иджыри номин гуэрхэм нэхърэ нэхъ номину къыпфIэщI цIыху урохьэлIэ. Нэхъ Iущу фхэтхэри къэчIыгъэмрэ хьэдэджадэмрэ я зэхуаку дэзэрыхьа нэхъей, зэпIэзэрыткъым. ФыкъэдаIуэ, цIыхудыдэр зищIысыр къывгурыIэн щхьэчIэ вжызоIэ! ЦIыхудыдэр - щIылъэм и купщIэщ. Фытегушхуи жыфIэт апхуэдэу: ирехъу цIыхудыдэр щIылъэм и купщIэ! Сыфхуотхьэджэ, си къуэшхэ, щIылъэм фыхуэпэжу фыкъанэ, щIылъэм адчIэжкIэ зыгуэр щыIэу фыщызыгъэгугъхэм жаIэр фи фэщI фымыщI. Щхъуэзехьэщ ахэр, езыхэм ящIэжми ямыщIэжми. Абыхэм гъащIэр ялъагъу хъукъым, а лIэуэ гъуэгу тетхэм, щхъухь зэзыхьэлIэжахэм, щIылъэр езыгъэшахэм: иребзэх-тIэ ахэр! Япэм Тхьэм ухуэпсэлъэныр убэныгъэ абрагъуэу къалъытэу щытащ; ауэ Тхьэр лIащ, абы и гъусэу абы хуэпсэлъахэри лIащ. Иджы щIэпхъаджагъэ нэхъ ину къалъытэр щIылъэр уубынырщ, акъылчIэ узылъэмыIэсынум и купщIэр щIылъэм и мэхьэнэм нэхърэ нэхъ лъагэу къэплъытэным хуэдабзэу. Зэгуэр псэм пкъым игу щычIат: абы щыгъуэ гужьгъэжьым нэхърэ нэхъ Iей зыри щыIэтэкъым, - псэр хуейт пкъыр уэду, гущычIыгъуэу, мэжэщIалIэу илъагъуну. Апхуэдэу пкъыми щIылъэми яIэщIэчIын и гугъэт. О, а псэр езыр нэхъ уэдыжт, гущычIыгъуэт ар ичIи мэжэщIалIэт; гущIэгъуншагъэрт зыхуэпабгъэр а псэр! Ауэ иджыри, си къуэшхэ, къызжефIэт: сыт фи пкъым къывжиIэр, фи псэм теухуауэ? КъыкIэлъыкIуэнущ _____________________ «Эксперимент» щIыкIэу, къэбэрдей пэжырытхэм дыщытекI къохъури, тэмакъкIыхьу фыкъытхущытыну дыфщогугъ.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "nitzshe.txt" }
ИБСЕН ГЕНРИК КЪУПЩХЬЭГУАЩЭ УНЭ ХЭТХЭР: Банкым и унафэщI, уэчыл ХЕЛМЭР. НОРЭ, абы и щхьэгъусэ. ДОХУТЫР РАНК. ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Уэчыл хуитырылажьэ КРОГСТЭД. ХЕЛМЭР зэщхьэгъусэхэм я бын цIыкIуищыр: Ивар, Эммэ, Боби. АННЭ-МАРИЕ, абыхэм я дэгызэ. ХЕЛМЭРХЭ я IУЭХУТХЬЭБЗАЩIЭ. IЭПЫДЗЛЪЭПЫДЗ. ЯПЭ ТЕПЛЪЭГЪУЭ УнэлъащIэ мылъапIэкIэ екIуу узэда пэш. Куууэ укIуэцIрыплъмэ плъагъу ику ит блыным бжитI хэлъщ: ижьырабгъумкIэ хэлъыр унэ щIэхьэпIэм, сэмэгурабгъумкIэ хэлъыр - Хелмэр и кабинетым макIуэ. А бжитIым я зэхуакум пианинэ дэтщ. СэмэгумкIэ щыт блынджабэм и кум хуэзэу бжэ хэлъщ, сенэ гупэм (авансценэ) нэхъ пэгъунэгъууи - зы щхьэгъубжэ. Щхьэгъубжэм деж шэнтуплIанщIэхэмрэ тэхътэбан цIыкIурэ зыбгъэдэт Iэнэ хъурей щытщ. ИжьырабгъумкIэ тIэкIу нэхъ куууэ хэлъ блынми бжэ хэлъщ, и гупэм деж – жьэгу кIэрытщ. Хьэку гупэм шэнтуплIанщIэ зыбжанэрэ зы шэнт-хъыринэрэ бгъэдэтщ. Жьэгумрэ бжэмрэ я зэхуакум хуэзэу Iэнэ цIыкIу щытщ. Блынхэм сурэт фIэлъщ. Хьэпшып гъэщIэрэщIа цIыкIуфэкIухэр зытет дапхъэ, жынт лъапIэ зытебза тхылъхэр зыдэлъ тхылъ телъхьэпIэ уолъагъу. Унэлъэгум алэрыбгъу илъщ. Жьэгу мафIэр маблэ. ЩIымахуэ махуэщ. ЩIэхьэпIэм уэзджынэ макъ къыщоIу. ТIэкIу докIри, бжэ Iух макъ зэхох. Унэ щIэхьэпIэм къыщIокIри НОРЭ нэжэгужэу дзапэ уэрэд къришурэ къохьэ, щIыIутелъ щыгъын щыгърэ хьэпшып зэкIуэцылъ къом иIыгъыу, ахэр псори ижьымкIэ щыт Iэнэм трелъхьэ. ЩIыбыбжэр Iухауэ къонэри, уэздыгъей къудамэрэ матэрэ къэзыхьа IЭПЫДЗЛЪЭПЫДЗЫМ ахэр бжэр къыхуIузыха IУЭХУТХЬЭБЗАЩIЭМ зэрыритыр уолъагъу. НОРЭ: ФIыуэ гъэпщкIу уэздыгъейр, Ленэ. Сабийхэм ар пщыхьэщхьэ хъуху ялъагъу хъунукъым, дымыгъэщIэрэщIауэ. (Бохъшэр кърихыурэ Iэпыдзлъэпыдзым зыхуигъазэу) Дапщэ? IЭПЫДЗЛЪЭПЫДЗ. Щэныкъуэ. НОРЭ. Мэ сомищэ… Хьэуэ, псори ууейщ. Iэпыдзлъэпыдзыр, щхьэщэ ещIри, щIокIыж. Норэ щIэхьэпIэм хуэкIуэ бжэр егъэбыдэ, и гур арэзыуэ хуэму зэрыпыгуфIыкIым хуэдэурэ щIыIутелъ щыгъынхэр зыщех. ИтIанэ и жыпым гъурыжьэ[1] зэрылъ cэмб цIыкIу кърехри зытIущ ешх. Сакъыурэ и лIым и пэшыбжэм бгъэдохьэри мэдаIуэ. НтIэ, щIэсщ. (Аргуэру дзапэ уэрэд къришурэ IэнэмкIэ еунэтI). ХЕЛМЭР (кабинетым къыщIэкIиикIыу). Сыт ар, бзум уэрэд къыхидзауэ ара? НОРЭ (Къищэхуахэр зэкIуэцIихыурэ). Ар дыдэращ. ХЕЛМЭР. КIэпхъ цIыкIур абдежым щыпэщащэу ара? НОРЭ. НтIэ! ХЕЛМЭР. Дапщэщыт кIэпхъ цIыкIур къыщысыжар? НОРЭ. ИджыпстуупцIэ. (Гъурыжьэ зэрылъ сэмб цIыкIур егъэпщкIури и Iупэхэр зэпелъэщIыхьыж). КъакIуи къэсщэхуа къомым еплъыт, Торвэлд! ХЕЛМЭР. Зэ, зэран умыхъу. (ТIэкIу дэкIа нэужь, къэлэмыр IэщIэлъу пэшыбжэр къыIуехри къыщIоплъэ). Къэсщэхуа къомыр жыпIа? Мы къомри?.. Бзу цIыкIур аргуэру ахъшэ цIыкIухэр ирипхъын щхьэкIэ щIэлъэтауэ арат? НОРЭ. ЕIей, Торвэлд, зэ мыхъуми зэ дыкъызэрыкIыну и чэзур къэсакъэ? Мыр ахъшэ дыщымысхьу дыщыщахуэ хъун япэ илъэсыщIэщ. ХЕЛМЭР. Арами, иткъухь хъунукъым. НОРЭ. ТIэкIунитIэ хъунущ! Пэжкъэ? ТIэкIунивэ! Уэ иджы улахуэшхуэ пхуагъэуващи куэдыжьу ахъшэ къэблэжьынущ, пэжкъэ? ХЕЛМЭР. НтIэ, илъэсыщIэ дызытехьэм щегъэжьауэ. Ауэ улахуэр мазищ дэкIа нэужьщ къыщызатынур. НОРЭ. Iуэхукъым, апщIондэху щIыхуэ къапщтэ мэхъу. ХЕЛМЭР. Норэ! (Бгъэдохьэри гушыIэу и тхьэкIумэ кIапэр еубыд). Ди щхьэзыфIэфIыныр хьэзырыпсщ аргуэру. Уи нэгу къыщIэгъэхьэт – нобэ сом мин щIыхуэу къызощтэри уэ ар махуэшхуэхэм тыуогъэкIуадэ. ИтIанэ ИлъэсыщIэр къихьэн ипэ унащхьэм кхъуэщын къохуэхри си щхьэм къытохуэ – укъэсыжакъэ? НОРЭ. (И жьэм и Iэгур Iуилъхьэурэ). АаIэ! А Iей дыдэхэр жумыIэ. ХЕЛМЭР. Хьэуэ, апхуэдэ гуэр къэхъуауэ къызэфIэбгъэщIмэ-щэ? НОРЭ. А Iей дыдэр къэхъу гущэмэ, щIыхуэ стелъ-стемылъыр къысфIэIуэхужынукъым сэ. ХЕЛМЭР. ЩIыхуэ къызэIысхахэми къафIэIуэхунукъэ? НОРЭ. Абыхэми? Сыт абыхэм егупсысын щIыхуейр? Ахэр хамэщ. ХЕЛМЭР. Норэ, Норэ, «цIыхубзщ» щIыжаIэр уэ пхуэдэщ. Пэжу, Норэ, уэ ущыгъуазэкъэ сэ а Iуэхум сызэреплъым? ЩIыхуэ зи цIэ зэрызытедмыгъэхуэн! Зэи щIыхуэ къызэрыдмыщтэн! Аращ дызытетыр. ЩIыхуэрэ хьэхукIэ ухуа унэ жьэгум щхьэхуимытыныгъэм и ныбжь лъагъугъуейр тредзэ. Нобэр къыздэсым диIэр зридгъэкъуу хахуэу зызэтетIыгъэфакъэ уэрэ сэрэ, иджыри тIэкIурэ зытIыгъыжынщ – куэд къытхуэнэжакъым, пэжкъэ? НОРЭ. (Жьэгум бгъэдэкIуатэурэ). Аращ… Узэрыхуейщ, Торвэлд. ХЕЛМЭР. (КIэлъыкIуатэурэ). Еплъыт абы, бзу цIыкIум и дамэхэр гуэхуащ. Ара? КIэпхъ цIыкIум зигъэгусащ. (Бохъшэр кърех). Норэ, мыбы сыт дэлъу зесхьэу къыпфIэщIрэ? НОРЭ. (Жану зыкъигъазэурэ) Ахъшэ! ХЕЛМЭР. Мэ! (ТхылъымпIэ ахъшэ зыбжанэ кърет). Ди Тхьэ, сэра ар зымыщIэр, махуэшхуэхэм унэм ахъшэ зытебгъэкIуэдэн щыбгъуэтынкъэ. НОРЭ. ПщIы, тIощI, щэщI, плIыщI. Упсэу, упсэу, Торвэлд. Иджы сэ ар куэдрэ срикъунущ. ХЕЛМЭР. Амал зэриIэкIэ, кхъыIэ. НОРЭ. Хъунщ, хъунщ, амал имыIэу зризгъэкъунщ. Иджы мыдэ къакIуи къэсщэхуа къомым еплъыт. Псори пуд защIэу. Еплъыт, мы зэфIэтымрэ сэшхуэмрэ Ивар щхьэкIэ. Мы шы цIыкIумрэ бжьамиймрэ Боби ейщ. Мыр Эммэ и гуащэмрэ ар зэрылъыну гъуэлъыпIэмрэщ. КъызэрыкIуэ дыдэщ, ауэ езыми ахэр зэрызрихьэнышхуэ щыIэкъым, икъутэнущ. Мыхэр унэIутхэм я щыгъыныпхъэ кIэпхыныпхъэщ. Аннэ-Марие тхьэмыщкIэм и ныбжь хэкIуэтащ, нэхъыби хуэфащэт, шэч хэмылъу… ХЕЛМЭР. Мы хъуржыным сыт илъыр? НОРЭ. (Къыщолъэтри). Хьэуэ, хьэуэ, Торвэлд! Ар уэ пщыхьэщхьэ хъуху плъагъу хъунукъым! ХЕЛМЭР. Хъунщ-хъунщ! Уэ-щэ, ахъшэ ипхъырей цIыкIу, уэ езым зыгуэр къэбгъуэта уигу ирихьын? НОРЭ. А, сэ зыри сыхуейкъым. ХЕЛМЭР. Ухуэмейуэ хъунукъым! ИIэт, сиIарэт жыхуэпIэу мыхьэнэ зиIэ гуэрым и цIэ къысхуиIуэт. НОРЭ. Пэж дыдэу, сыхуейкъым. Ы… ПщIэрэ, Торвэлд… ХЕЛМЭР. НтIэ… НОРЭ. (Емыплъу и кIэстум щIыIухэм теIэбэрэбыхьурэ) Зыгуэр тыгъэ къысхуэпщIыну ухуеймэ… Ухуеймэ… ХЕЛМЭР. ИIэ, иIэ жыIэ. НОРЭ. (ПсынщIэу) Ахъшэу къызэптам арат, Торвэлд. ПхузыфIэкIым хуэдиз. Сэ мы махуэхэм зыгуэр къэсщэхужынт. ХЕЛМЭР. Хьэуэ, Норэ, къэдаIуэ… НОРЭ. КхъыIэ, кхъыIэ апхуэдэу щIы, си псэм хуэдэ Торвэлд! СынолъэIу! Сэ ахъшэхэр дыщэпс тхылъымпIэм кIуэцIыслъхьэнти уэздыгъейм фIэздзэнт. Дигу хигъэхъуэнтэкъэ абы? ХЕЛМЭР. Дауэ зэреджэр увыIэгъуэ имыIэу ахъшэ цIыкIухэр изыпхъ бзу цIыкIухэм? НОРЭ. СощIэ, сощIэ. Ахъшэ ипхъырейщ. ИтIани сэ зэрыжыхуэсIэм хуэдэу дыгъэщI, Торвэлд. Абы и фIыгъэкIэ пэж дыдэу сызыхуейм сегупсысыну зэман сиIэнущ. Ар губзыгъагъэкъэ? И? ХЕЛМЭР. (ГуфIэурэ). Шэч хэлътэкъым зэрыгубзыгъагъэм, а ахъшэр пIэщIэмышхыхьыжу зыгуэр уи щхьэм щхьэкIэ къыпхуэщэхуну щытамэ. Ауэ ахэри унэмрэ мыхьэнэ зимыIэ хьэпшып цIыкIуфэкIухэмрэ текIуэдэнурэ аргуэру си жыпыр къэзунэщIын хуей хъунущ. НОРЭ. Торвэлд… ХЕЛМЭР. УзэдауэкIи мыхьэнэ иIэкъым, си IэфI цIыкIу. (IэплIэ хуещI). Бзу цIыкIур IэфIщ, ауэ егъэлеяуэ ахъшэшхуэ ирепхъ. Iуатэгъуейщ и лIым и ахъшэу апхуэдэ бзу цIыкIум текIуадэр. НОРЭ. Е-Iей! Апхуэдэу жыпIэ хъурэ? Сэри зэрысхузыфIэкIкIэ зырызогъэкъу. ХЕЛМЭР. (Нэжэгужэу). Шэч зыхэмылъыж пэжыр мис аращ! ЗэрыпхузыфIэкIкIэ. Ауэ пхузэфIэмыкIыххэурэ. НОРЭ. (ГуфIэурэ уэрэд къреш). Ммм! ПщIарэт, Торвэлд, дэ бзухэмрэ кIэпхъ цIыкIухэмрэ дгъэкIуэдын хуей хъу къомыр зыхуэдизыр! ХЕЛМЭР. Уэри уэ, гъэщIэгъуэн цIыкIу! Къепсри къилъэтауэ и адэращ! Ахъшэ къыздипхын Iуэху фIэкIа зумыхуэу. Къызэрыбгъуэту – мэхь-мэхь – уэ езым здэпхьар къыпхуэмыщIэжу. Сыт ди амал, узэрыщытщ! Ар уи лъым хэтщ. Пэжщ, пэжщ, ар къыбдалъхуауэ аращ, Норэ. НОРЭ. Ди адэм и хьэл нэхъыбэIуэ къыздалъхуауэ щытарэт! ХЕЛМЭР. Сэ узэрыщытым хуэдэу фIэкIа сыхуеиххэтэкъым ущытыну, си бзу IэфI цIыкIу! Ауэ, къэдаIуэт, си гугъэмкIэ, уэ… уи… дауэ ар зэрыжысIэнур? Уи фэр сигу ирихькъым нобэ. НОРЭ. Сэри? ХЕЛМЭР. НтIэ. Си нэм къыщIэплъэт. НОРЭ. (Йоплъ). Сыт-тIэ? ХЕЛМЭР. (И Iэпхъуамбэр игъэдалъэурэ). IэфIкIэ ерыщ цIыкIум нобэ къалэм тIэкIу зыщигъэтхъэжакъэ? НОРЭ. Хьэуэ, сыт жыпIэр! ХЕЛМЭР. IэфIыкIэ щащэ тыкуэным щIэмылъэдауи жумыIэ? НОРЭ. Уи фIэщ щIы, Торвэлд… ХЕЛМЭР. Вэренэи ишхакъэ? НОРЭ. Игу къэкIыххакъым. ХЕЛМЭР. Дэ цIыкIу зыхэлъ гъурыжьэи едзэгъуакъэ? НОРЭ. Торвэлд, уи фIэщ щIы… ХЕЛМЭР. Хъунщ-хъунщ! ГурыIуэгъуэкъэ сызэрыгушыIэр… НОРЭ. (ИжьырабгъумкIэ щыт Iэнэм бгъэдэкIуатэурэ). Уэ умыдэн сщIэну сигу къэкIыххэнукъым сэ. ХЕЛМЭР. СощIэ, сощIэ. Псалъэ къызэптатэкъэ. (Бгъэдэхьэурэ). Хъунщ-тIэ, уи илъэсыщIэ щэху цIыкIухэр уэ езым хъумэж, си псэм хуэдэ Норэ. Ахэр ныщхьэбэрей уэздыгъейр къызэрыблэу езыр-езыру наIуэ къэхъуну къыщIэкIынщ. НОРЭ. Дохутыр Ранк къебгъэблэгъэну пщыгъупщакъым, пэжкъэ? ХЕЛМЭР. Iуэху сщIыуэ жесIакъым, амалыншэуи сщIэкъым. Армырми къызэрыддэшхэнур гурыIуэгъуэщ. Иджыри игу къэзгъэкIыжыну амал сиIэну хъунщ, ар къыщIэхьэнущ шэджагъуэм ипэ. МахъсымэфIкIэ сыкъагъэгугъащ. Норэ, ныщхьэбэрей пшыхьым си псэр зэрыщыгуфIыкIыр уи фIэщ хъункъым. НОРЭ. Сэри! Сабийхэри сыт хуэдэу гуфIэну, Торвэлд! ХЕЛМЭР. Ярэби, сыту гухэхъуэ узыхуейр бгъуэту узыхэпсэукIын IэнатIэ хъупхъэ къызэрыпIэрыхьар, хэхъуэ хъарзынэ уиIэу узэрыпсэуфынур зыхэпщIэну. Гур зыIэт зыхэщIэгъуэкъэ ар? НОРЭ. Ар къызэрымыкIуэщ! ХЕЛМЭР. ИлъэсыщIэ блэкIар пщIэжрэ? Тхьэмахуищым и кIуэцIкIэ зыщIэбубыдэжурэ пщыхьэщхьэкIэ жэщыку хъуху уэздыгъейм фIэбдзэну удз гъэгъахэмрэ дыщыгуфIыкIыну узыхуей гъэщIэгъуэн цIыкIу гуэрхэмрэ зэбгъэпэщу узэрыщIэсар? У-у! Нэхъ зэман зэшыгъуэ къысхуэгубзыгъыжкъым. НОРЭ. Сэ зэш жыхуаIэр сщIэххэтэкъым. ХЕЛМЭР. Ауэ къикIаишхуэ щыIэтэкъым, Норэ, пэжкъэ? НОРЭ. Аргуэру ар къызэбудэкIыжыну ара? Сытыт-тIэ сэ схуэщIэнур джэдур дэпщейуэ псори цIыкIу-цIыкIуу зэфIитхъыжамэ? ХЕЛМЭР. ГурыIуэгъуэт зыри зэрыпхуэмыщIэнур, си тхьэмыщкIэ цIыкIу. Уэ уигукIэи уи псэкIэи дыбгъэгуфIэну ухэтт, арат Iуэхум и пэжыпIэр. ИтIанэи а хабзэ гугъусыгъур зэрыщыдгъэтар нэхъыфIщ. НОРЭ. Пэжщ, фIыгъуэшхуэщ. ХЕЛМЭР. Сэри си закъуэу сыщысын хуеижкъым, уэри уи нэ дахэ, уи нэ IэфI цIыкIухэмрэ уи Iэпэ щабэ цIыкIухэмрэ щIызэIыбгъэхьэн щыIэкъым… НОРЭ. (Iэгу еуэурэ). Хуеижкъым, Торвэлд, пэжкъэ? Сыту щIагъуэ, сыту гуфIэгъуэ ар зэхэпхыну! (И Iэблэр еубыд) Иджы бжесIэнщ, Торвэлд, псори зэрысщIыну сызэрыхуейр. Мис мы махуэшхуэхэр зэрыблэкIыу… Уэзджынэ макъ къоIу. Еууей, зыгуэрым уэзджынэр къегъаджэ. (ТIэкIу пэшыр зэщIекъуэ). Зыгуэр къэкIуагъэнщ, сыт тщIэн. ХЕЛМЭР. ХьэщIэ къэкIуамэ, сэ сыщIэскъым, зыщумыгъэгъупщэ. IУЭХУТХЬЭБЗАЩIЭ. Гуащэ! Бзылъхугъэ мыцIыху къэкIуащ. НОРЭ. Мыдэ къыщIэшэ-тIэ. IУЭХУТХЬЭБЗАЩIЭ. (Хелмэр зыхуегъазэри). Дохутырыри къэкIуащ. ХЕЛМЭР. Сэра зыхуейр? IУЭХУТХЬЭБЗАЩIЭ. НтIэ, нтIэ. ХЕЛМЭР и пэшым щIохьэж. IуэхутхьэбзащIэм гъуэгурыкIуэ щыгъынкIэ хуэпа ЛИННЕ-ГУАЩЭ къыщIегъэхьэри, бжэр къыхуещIыж. ЛИННЕ-ГУАЩЭ. (УкIытэу, зэпыууэ). Уи махуэ фIыуэ, Норэ. НОРЭ. (Iэнкуну). Фи махуэ фIыуэ… ЛИННЕ-ГУАЩЭ. СыкъэпцIыхуж хуэдэкъым? НОРЭ. КъысхуэщIэжкъым… Хьэуэ, си гугъэмкIэ… (ХэIэтыкIауэ). Дауэ! Кристинэ… Уэра?! ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Сэращ. НОРЭ. Кристинэ! ЗанщIэу укъэсцIыхужакъым! Дауи… (Макъыр иришэхауэ). Сыту зыпхъуэжа, Кристинэ! ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Аращ. Илъэс зыбгъупщIым нэс щыдэкIакIэ… НОРЭ. Апхуэдизрэ дызэрымылъэгъуауэ ара? Аращ, ар дыдэщ. Иужьрей илъэсийр – сыту зэманыфIыIуэт!.. НтIэ, ди деж, ди къалэм укъэкIуауэ ара? А гъуэгуанэ кIыхьыр щIымахуэу зэпыпчу! Сыту ухахуэ! ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Нышэдибэрей кхъухьымкIэ сыкъэкIуащ. НОРЭ. Махуэшхуэхэм уи нэгу зебгъэужьын щхьэкIэ, аракъэ? Сыту ехьэжьа! Зедгъэужьынкъэ-тIэ! Щых уи щыгъыныр. ЩIыIэм уискъым, пэжкъэ? (ДоIэпыкъу). Иджы жьэгум нэхъ пэгъунэгъу зытщIынщи тыншу дытIысынщ. Хьэуэ, уэ шэнтуплIанщIэм итIысхьэ. Сэ шэнт-хъыринэм ситIысхьэнщ. (И Iэхэр зыIэщIеубыдэ). Мис иджы япэм уиIа нэкIур къызогубзыгъыж. Япэ Iуплъэгъуэм хуэдэжкъым… Ауэ тIэкIу нэхъ фае ухъуащ, Кристинэ, нэхъ уэди ухъуауэ жызоIэ. ЛИННЕ-ГУАЩЭ. КуэдкIэ, IэджэкIэ нэхъ жьыи сыхъуащ, Норэ. НОРЭ. Апхуэдэ зытIэкIуи щыIэ хъунщ, ауэ мащIэ дыдэу, зыри куэдкъым. (Зэуэ зыкъещIэжри зэпIэзэрыту псэлъэн щIедзэ). Сыту сыакъылыншэ, ярэби, еуэ-еуэу сопсалъэри сыщысщ! Си псэм хуэдэ Кристинэ, кхъыIэ, къысхуэгъэгъу! ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Сыт къэхъуар, Норэ? НОРЭ. (Щэхуу). Си Кристинэ тхьэмыщкIэ цIыкIу, уи щхьэгъусэр дунейм ехыжатэкъэ? ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Илъэсищ и пэкIэ. НОРЭ. НтIэ, сощIэ. КIэзетхэм сыкъыщеджат. Уи фIэщ щIы, Кристинэ, сыт хуэдизрэ ныпхуэстхыну си гугъа абы щыгъуэ, «иужькIэ» жысIэм, сытым дежи зыгуэр къыдэзэрыхьурэ къызэхъулIакъым. ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Норэ, си псэ, псори къызгуроIуэ. НОРЭ. Хьэуэ, ар емыкIу дыдэу уэсщIащ, Кристинэ. Еууей, тхьэмыщкIэ цIыкIу, сыту куэд уи фэм дэкIа хъун мыгъуэ. УзыхэпсэукIыни зыри къыпхуигъэна къыщIэкIынкъым. ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Зыри. НОРЭ. Сабии? ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Сабии. НОРЭ. Сытми, зырикI. ЛИННЕ-ГУАЩЭ. ЗырикI. Гуауи… гур иритеун хуэдэу ущIызэплъэкIыжын гуэри… НОРЭ. (ДзыхьмыщIу еплъурэ) Апхуэдэ къэхъу хабзэ, Кристинэ? ЛИННЕ-ГУАЩЭ. (Нэщхъейуэ пыгуфIыкIыурэ Норэ и щхьэм Iэ делъэ). Къыщыхъуи щыIэщ, Норэ. НОРЭ. НтIэ, уи закъуэпцIийщ, ара? Сыту Iей дыдэ мыгъуэу гугъу къыщIэкIын ар. Сэ сабий дыгъищ сиIэщ. Иджыпсту плъагъуфынукъым. Дэгызэр я гъусэу щIыбым дэтхэщ. Псори къызжеIэж зыри къыумыгъанэу… ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Хьэуэ, хьэуэ, уэ жыIэжи нэхъыфIщ. НОРЭ. Хьэуэ, япэ щIыкIэ уэ. Нобэ щхьэхуэфIу сыщытыну сыхуейкъым. Уи Iуэхухэм фIэкIа сегупсысынукъым. Ауэ зыгуэр бжезмыIэу хъунукъым. Иджы дыдэ насып къыдэуэлIам ущыгъуазэ? ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Хьэуэ, сыт къэхъуар? НОРЭ. Уи фIэщ хъурэ, си щхьэгъусэр Акционер банкым и нэхъыщхьэ ящIащ. ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Уэ уи щхьэгъусэри? Сыту ехъулIэгъуэшхуэ! НОРЭ. Ауэ сытми дехъулIа! Уэчыл IэщIагъэр щIакхъуэ IыхьэкIэ узыщыгугъ мыхъун IэнатIэт, псом хуэмыдэу Iуэху къабзэлъабзэхэм, IуэхуфIхэм фIэкIа къэпщтэну ухуэмеймэ. Торвэлд апхуэдэ фIэкIа къищтэтэкъым, зэрыгурыIуэгъуэщи, сэри абыкIэ сриакъылэгъут. КъыпхузэфIэгъэщIрэ ди гуфIэгъуэм и инагъыр. ИлъэсыщIэр зэриублэу IэнатIэм пэрыувэнурэ улахуэфI къратынущ, хэхъуэ хъарзынэи иIэнущ. Аращи иджыри къэс дызэрыпсэуам нэхърэ нэхъыфIу дыпсэуфынущ, дызэрыхуейм хуэдэ дыдэу. Уи фIэщ хъурэ, Кристинэ, си гур зыкIэ псэхужащ, зыкIэ сынасыпыфIэщи! ФIы дыдэкъэ ахъшэ куэд Iей уиIэу, зыми ухуэмыныкъуэу, гукъеуи уимыIэу упсэуну? Пэж жысIэр? ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Пэжщ. Дауи ирехъуи, узыхуэныкъуэ псори уиIэну гурыфIыгъуэшхуэщ. НОРЭ. Хьэуэ, узыхуэныкъуэ къудейракъым, ахъшэ куэд Iей. ЛИННЕ-ГУАЩЭ. (ГуфIэурэ) Норэ, Норэ! Нобэми нэхъ Iущ ухъуакъым! ЕджапIэм дыщыщIэсми егъэлеяуэ ахъшэ йупхъын уфIэфIт уэ. НОРЭ. (Щэхуу пыдыхьэшхыкIыурэ). Торвэлд аращ къызэрызэджэххэр. (И Iэпхъуамбэр игъэдалъэурэ). ИтIани «Норэ, Норэ» фэ фызэригугъэм хуэдэ дыдэу акъылыншэкъым… Ахъшэ ипкъухьын хуэдэу дыпсэуакъым дэ иджыри. ТIури дылэжьэн хуей хъут. ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Уэри улэжьауэ ара? НОРЭ. НтIэ, зытIэкIу IэпщIэлъэпщIагъэ IуэхукIэ – хэдыкI, цызэрыхъэ жыпIэми. (КъищIэжа хуэдэу). ИтIанэ… иджыри зыгуэр. Уэ пщIэкъэ нэчыхь едгъэтха нэужь, Торвэлд министерствэм къыIукIыжауэ зэрыщытар. Узыщыгугъын IэнатIэи къэмылъагъуэу, ауэ щыхъукIэи тIукIэ нэхъыбэ къэлэжьын хуейт. Япэ илъэсым къару къыхуэмынэжыху лэжьащ. Iей дыдэт. Унэм къихьурэ лэжьыгъэ гуэрхэр ищIэн хуей хъут – къыбгурыIуэкъэ – пщэдджыжьым щегъэжьауэ жэщ хъуху лажьэт. Арати, сымаджэ хъури лIэн-къэнэным нэсат, дохутырхэм ипщэрэ лъэныкъуэкIэ зигъэхъужын папщIэ кIуэн хуейуэ жаIэу. ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Илъэс псо Италием фыщыIащ икIий абы щыгъуэм. НОРЭ. ДыщыIащ. Ауэ, уи фIэщ щIы, тыншу зыкъэт’Iэтакъым дэри. Ивар абы щыгъуэ дунейм къытехьа къудейт. Ауэ дымыкIуэу хъунутэкъым. Сыту гъуэгуанэ тхъэгъуэ, гъуэзэджэт ар! Торвэлд къелащ абы и фIыгъэкIэ. Ауэ абы ахъшэу текIуэдар – уи щхьэфэцым зрисэнщ, Кристинэ! ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Си нэгу къыщIызогъэхьэ. НОРЭ. Доллэр минрэ щитIрэ. Сом миниплIрэ щийрэ. Ахъшэшхуэщ. ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Пэжщ, ауэ апхуэдэу ущыхуэныкъуэм деж къыздипхын уиIэнри насыпышхуэщ. НОРЭ. Ди адэм къыдитащ. ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Ара? Пэжу, уи адэри абы ирихьэлIэу дунейм ехыжа си гугъэжщ. НОРЭ. НтIэ, абдеж дыдэм ирихьэлIэу. Дауэ къыпщыхъурэ, е и деж сымыкIуэфу, сыкIэлъымыплъыфу. Ивар цIыкIу нобэ-пщэдейуэ дунейм къытехьэным сежьэт. Си Торвэлд тхьэмыщкIэри лIэн-къэнэну зесхьэт. Ди адэу си псэм хуэдэ! Слъагъужыфакъым икIи, Кристинэ. СызэрыдэкIуэрэ абы нэхъ гуауэ зыхэсщIакъым. ЛИННЕ-ГУАЩЭ. СощIэ, уэ уи адэр фIы дыдэу плъагъуу щытащ. НтIэ, абы иужь Италием фыкIуащ, ара? НОРЭ. НтIэ. Ахъшэр дIэщIэлът, дохутырхэм дагъэзагъэтэкъым. Арати мазэ зэрыдэкIыу дыкIуащ. ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Къемыузыж’Iауэ къэкIуэжат-тIэ уи щхьэгъусэр? НОРЭ. Хъужыпауэ. ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Дохутырыр-щэ? НОРЭ. КъызгурыIуакъым? ЛИННЕ-ГУАЩЭ. СыкъыщIэзыша хъыджэбзым си гъусэу къыщIэхьа лIыр дохутыру жиIауэ къысфIощIыж. НОРЭ. А-а! Ар дохутыр Ранкщ. Ар дохутыр Iуэхукъым къыщIэкIуэр. Ар ди ныбжьэгъу нэхъыфI дыдэращ, махуэм зэрэ-тIорэ къыщIэхьэ и хабзэщ. Хьэуэ, Торвэлд абы лъандэрэ пыхусыху къудей хъуакъым. Сабийхэри узыншэщ икIий нэжэгужэщ. Сэри сыаращ. (Къыщылъэтауэ Iэгу йоуэ). Ярэби, Кристинэ, сыту фIыIуэ насыпыфIэу зубжыжу упсэуну! Еууей, сэрмахуэ, сыту сыхабзэншэIуэ – увыIэгъуэ симыIэу сызытопсэлъыхьыж. (Линне-гуащэ бгъэдэт шэнт цIыкIум тотIысхьэри и Iэхэр абы и лъэгуажьэхэм трелъхьэ). Губгъэн къысхуумыщI! ЖыIэт, пэж дыдэу уи щхьэгъусэр фIыуэ плъагъутэкъэ? НэгъуэщI сытыт-тIэ ущIыдэкIуэнур? ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Си анэр иджыри псэут, ауэ пIэхэнэ хъуауэ къарууншэ дыдэт. Абы нэмыщI си дэлъху нэхъыщIитIми сэ фIэкIа зыщыгугъын яIэтэкъым. Арати, «хьэуэ» жесIэну сыхуимыту къысщыхъуащ. НОРЭ. Пэжщ, пэжщ, узахуэщ. НтIэ, ар абы щыгъуэ бейт, ара? ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Си гугъэмкIэ, мылъку хъарзынэ бгъэдэлът. Ауэ и Iуэхур быдэу зэтеувауэ щыттэкъыми, дунейм зэрехыжу псори лъэлъэжри зыри къэнэжакъым. НОРЭ. Арати? ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Арати, зыгуэр тIэкIухэр сщэуэ, еджапIэ цIыкIу гуэрым сыщылажьэу, зэрыхъум хуэдэу сыпсэуащ. Мы иужьрей илъэсищыр зыгъэпсэхугъуэ зыхэмыт лэжьэгъуэ махуэ кIыхьым хуэдэу есхьэкIащ. Иджы ар иухащ, Норэ. Си анэр къысхуэныкъуэжкъым – дунейм ехыжащ. ЩIалэ цIыкIухэри ин хъуащ, я щхьэ Iуэху зрахуэжыфынущ. НОРЭ. НтIэ, иджы уи гур псэхужащ… ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Апхуэдэ дыдэуи схужыIэнукъым. Уеблэмэ, нэщIщ си гур егъэлеяуэ. СыщIэпсэун цIыху сиIэжкъым. (Игу хэщIу къызэфIоувэ). Аращ ди щIыпIэ пхыдзам сыщIыщымыIэжыфар. Мыбы нэхъ къыщыпхуэгъуэтыну къыщIэкIынщ уи къару зытебгъэкIуэдэнрэ узэгупсысынрэ. ЛэжьапIэ гуэр, хъун хуэдэ IэнатIэ къэзгъуэтамэ арат… НОРЭ. Еууей, Кристинэ, сыту гугъу ар, уэ армырми узэхэукIауэ фэ птетщ. ЗыщIыпIэ зыгъэпсэхуакIуэ укIуамэ нэхъыфIт. ЛИННЕ-ГУАЩЭ. (Щхьэгъубжэм бгъэдэкIуатэурэ). Сэ гъуэгупщIэ къызэзытын Адэ сиIэкъым, Норэ. НОРЭ. (Къэтэджурэ). КхъыIэ, укъысхузэгуэмып! ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Норэ, си псэ, уэ укъысхузэгуэмып! Си Iуэхум нэхъыкIэ дыдэу хэлъыр гум хьэлъэ къызэрытенэращ. УщIэлэжьэн цIыху уиIэкъым, итIанэми къэбжыхьын, зыгуэрурэ псори зыхуэбгъэхъун хуейщ. Упсэун хуейкъэ, аращи щхьэхуимыту щхьэхуэфI уохъу. Уэ иджыпсту фи Iуэхухэр зэрефIакIуэм утепсэлъыхьыху, уи фIэщ хъурэ, фэр нэхърэ, си щхьэм щхьэкIэ нэхъ сыгуфIащ. НОРЭ. Дауэ ар? А, къызгуроIуэ. Торвэлд зыгуэр къыпхуигъуэтыфыну къыпфIэщIрэ? ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Аращ сигу къэкIар. НОРЭ. Къыпхуигъуэтынщ икIий, Кристинэ. Псори сэ си IэмыщIэ къилъхьэ. Сэ зыгуэру IэкIуэлъакIэу зэхуэзгъэхъунщ псори и гурыфI къикIын хуэдэу. Си фIэщыпэу сыхуейт зыгуэр пхуэсщIэну. ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Сыту си гуапэ, Норэ, укъыздэIэпыкъуну ухуейуэ апхуэдизу сыкъызэрыпфIэIуэхур. Нэхъри щIызигуапэр – уэ езыр псэукIэ гугъусыгъу уIууэну апхуэдэ дыдэу къызэрыпхуимыхуаращ. НОРЭ. Сэри? Сэра Iумыуар? ЛИННЕ-ГУАЩЭ. (ГуфIэурэ). Сэ сщIэ мыгъуэрэ, IэпэIэсэ лэжьыгъэ гуэрхэр... Усабийщ уэ, Норэ, иджыри! НОРЭ. (И щхьэр Iэтауэ пэшым щикIукIыурэ). Апхуэдэу укъызэмыпсэлъами ягъэ кIынтэкъым. ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Ара? НОРЭ. Уэри адрейхэм уарещхьщ. Псоми мыхьэнэ иIэу зыри къыспымыкIыну къыфщохъу... ЛИННЕ-ГУАЩЭ. ЖиIэнщ иджы? НОРЭ. Сэ мы гъащIэ гугъум зыри щызмылъагъухха хуэдэ. ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Норэ, си псэ, иджыпсту къызжепIэжа къудейкъэ плъэгъуар псори? НОРЭ. Ахэр зыми ищIыскъым! (Щэхуу). Мыхьэнэ нэхъ зиIэр бжесIэжакъым. ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Мыхьэнэ нэхъ зиIэри? Сыт абы къибгъэкIыр? НОРЭ. Уэ укъысхуоплъых еуэ-еуэу, Кристинэ. Ауэ ущоуэ. Уэ уи анэм и хьэтыркIэ апхуэдизрэ гугъу узэрехьамкIэ зыкъысхубогъэщIагъуэ…. ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Сэ зыми, уи фIэщ зэрыхъун, сыхуеплъыхын си хьэлкъым. Ауэ пэжщ, согуфIэ икIи срогушхуэ си анэм и иужьрей илъэсхэр тыншу зэрырезгъэхьэкIыфам щхьэкIэ. НОРЭ. Уи дэлъхухэм яхуэпщIам щхьэкIи зыбогъэщIагъуэ. ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Сыхуиту къысфIощI. НОРЭ. Сэри къысфIощI апхуэдэ дыдэу. Ауэ, плъагурэ, Кристинэ, сэри сыщIэгуфIэн, зыщIэзгъэщIэгъуэн гуэрхэр сиIэщ. ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Шэч къытесхьэкъым. Ауэ сыт жыпIэм къибгъэкIыр? НОРЭ. Нэхъ щэхуу псалъэ. Торвэлд зэхихмэ… Абы мы дуней фIыгъуэкIэ зэхихынкIэ Iэмал иIэкъым…. Зыми ищIэ хъунукъым ар, Кристинэ, зыми уэр фIэкIа. ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Дызытепсэлъыхьыр сщIамэ? НОРЭ. Мыдэ къакIуэт. (ЗрешалIэри тэхътэбаным щызэбгъурегъэтIысхьэ). НтIэ, плъагъурэ… сэри сиIэщ сыщIэгушхуэни сыщIэгуфIэни. Сэращ Торвэлд къезыгъэлар. ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Къезыгъэлар жыпIа? Дауэ къызэребгъэлар? НОРЭ. БжесIэжакъэ Италием дызэрыкIуар. Торвэлд къелынутэкъым ипщэрэ лъэныкъуэхэмкIэ мыкIуатэмэ. ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Аращ-тIэ. Уи адэм фызэрыкIуэн ахъшэ къывитащ. НОРЭ. (ГуфIэурэ). Аращ Торвэлди адрей псоми къазэрыфIэщIыр, ауэ… ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Ауэ… НОРЭ. Папэ зы кIэпIейкIи къыдитакъым дэ. Сэ къэзгъуэтауэ аращ ахъшэр. ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Уэри? А ахъшэ къомри? НОРЭ. Доллэр минрэ щитIрэ. Сом миниплIрэ щийрэ. Дауэ къыпщыхъурэ? ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Дауэ ар къызэрохъулIар, Норэ? ЛотерейкIэ къэпхьэхуауэ ара? НОРЭ. (ГущыкI хэлъу). Лотереи? (Iумпэм ищIу). Ар гушыIэ хъунутэкъым итIанэ. ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Дэнэ-тIэ къыздипхар? НОРЭ. (Зигъэбзэбыдэу щIэгуфIыкIыу). Ммм! Тра-ля-ля! ЛИННЕ-ГУАЩЭ. ЩIыхуэ къэпщтауэ жумыIэ. НОРЭ. Ара? Сыт щхьэкIэ? ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Бзылъхугъэм и лIым имыщIэу щIыхуэ къищтэ хъурэ?! НОРЭ. Бзылъхугъэр Iуэхум тIэкIу щыгъуазэмэ-щэ, губзыгъэу узэрыбгъэдэхьэну щIыкIэр къыгурыIуэмэ-щэ бзылъхугъэм… ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Норэ, зыри къызгурыIуэххэкъым. НОРЭ. КъыбгурыIуэни хуейкъым. Сэ ахъшэ щIыхуэ къэсщтащ жысIакъым икIий. НэгъуэщI гъуэгукIэ къэзгъуэтам пщIэрэ? (Тэхътэбаным зыкIэрегъащIэ). Къызэхъуэпса гуэрым къызитами пщIэкъыми? Сэ схуэдэу дахэм и дежкIэ сыт ар… ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Сыту ущхьэгъавэ. НОРЭ. Иджы псори умыщIэнкIэ амал имыIэу ухъуакъэ, Кристинэ? ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Норэ, си псэ, мыхъумыщIагъэ зыри пщIакъым, пэжкъэ? НОРЭ. (Тэхътэбаным захуэу йотIысхьэри). Уи щхьэгъусэр лIэныгъэм къыIэщIэпхыныр мыхъумыщIагъэ? ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Си гугъэмкIэ мыхъумыщIагъэщ, езым имыщIэу зыгуэрым… НОРЭ. Абы зыри къищIэ хъунутэкъым! Дауэ ар къызэрыбгурымыIуэр, ди Тхьэ? Гурыщхъуэ ищI хъуххэнутэкъым апхуэдэу и узыншагъэр зэIыхьауэ. Ар сэ дохутырхэм къызжаIауэ аращ – лIэн-къэнэнщи, икIэщIыпIэкIэ ипщэрэ лъэныкъуэкIэ шэн хуейщ жаIэри. Сэ нэгъуэщI амал къысхуэмынэжыху къэзмыжыхьа уи гугъэу ара? Адрей бзылъхугъэ щIалэхэм ещхьу сэри ипщэрэ щIыналъэ гуэрхэм зыщызгъэпсэхуну сызэрыхуейм сытепсэлъыхьу сыкъэнэжат. ИкIий сыгът, икIи селъэIут. Сызэрыхьэлъэм, сабий зэрызгъуэтынум и хьэтыр илъагъуми ягъэ зэрымыкIынум и гугъу сщIыт, сыт и лъэныкъуэкIи сигъэфIэн хуейуэ жысIэт, ахъшэ щIыхуэу къапщтэ зэрыхъунур есIуэкIт. Къэзгъэгубжьыным тIэкIущ иIэжар, Кристинэ. Си щхьэм жьы щызепщэу, си щхьэзыфIэфIагъымрэ си псынщIагъымрэ къыздимыIыгъыныр езым и щхьэгъусэ къалэну – ара си гугъэжщ и псэлъэкIар – апхуэдэу къызжиIащ. Хъунщ, хъунщ, ауэ укъезмыгъэлу хъунукъым жысIэт сэри сигукIэ… ЛИННЕ-ГУАЩЭ. НтIэ, уи адэм ахъшэ къызэрывимытар уи лIым къыжриIакъэ? НОРЭ. КъыжриIакъым. Ди адэм а махуэ дыдэхэм ирихьэлIэу дунейм ехыжащ. Псори жесIэу сыкъыщIимыгъэщыну селъэIун си гугъащ, ауэ апхуэдизкIэ хьэлъэти, а амалми, си жагъуэ зэрыхъущи, сыхуекIуэн хуей хъужакъым. ЛИННЕ-ГУАЩЭ. НтIэ, нобэми жепIэжакъым, ара? НОРЭ. Хьэуэ, Тхьэм сыщихъумэ, сыт жыпIэр? Торвэлд егъэлеяуэ ткIийщ апхуэдэ IуэхукIэ. КъинэмыщIауэ, и щхьэ пщIэ хуэзыщIыж цIыхухъущ. Абы икъукIэ къехьэлъэкIынут си щIыхуэ телъу илъытэныр. ИтIанэ ди унагъуэ насыпри зэрыщытым хуэдэжынутэкъым. ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Зэи жепIэнукъэ-тIэ? НОРЭ. (Егупсысри тIэкIу пыгуфIыкIыурэ). ЖесIэнщ… Зэгуэр. Тхьэм ещIэри, илъэс зыкъом дэкIрэ иджыпсту хуэдэу дахэу сыщыщымытыжым щыгъуэ. Умыдэхьэшх. Торвэлд иджыпсту хуэдэу игу сыщримыхьыжхэм щыгъуэ жысIэу аращ. Си къафэхэм, усэ къеджэкIэм, зыгъэщIэрэщIэкIэм тримыгъэужу хъумэ. Абы щыгъуэ угузавэмэ узэпхъуэн гуэр пкъуэлъыну Iейкъым... (Зэпигъэуурэ). ПцIыщ, пцIыщ, пцIыщ! Апхуэдэ зэи къэхъунукъым. Сыт, Кристинэ, си щэхушхуэр дауэ къыпщыхъуа? Зыгур къысхэкIыну? Уимыгугъэ сэ а Iуэхум егъэлеяуэ гугъу сримыгъэхьу. Уи фIэщ щIы, и чэзум естыпхъэр естыныр къыщызэхьэлъэкIыпэ къохъу куэдрэ. Iуэху’зегъакIуэм и дунейм, бжесIэнщ, хэхъуэкIэ ахъшэ тыкIэу тIу къыщокIуэкI: щанэ Iыхьэм хуэзэмрэ «ахъшащхьэм пэкIуэр» жыхуаIэмрэ. Ауэ ахъшэр къэбгъуэтыныр сыт щыгъуэи егъэлеяуэ гугъущ. Абы къыхэкIыу, сыт ищIысми зыхуэзгъэныкъуэн хуей зэпыту сыкъекIуэкIащ… КъыбгурыIуэкъэ жысIэр? Унагъуэм тезгъэкIуэдапхъэм щыщ згъэтIылъыну амал сиIэтэкъым – Торвэлд фIыуэ мышхэу хъунутэкъым. Сабийхэми сытми зыгуэр ящыптIагъэкIи зэфIэкIкъым. Абыхэм ятезгъэкIуэдэну къызитыр къанэ щымыIэу ятекIуэдэжт. Си IэфI цIыкIухэ! ЛИННЕ-ГУАЩЭ. ТхьэмыщкIэ цIыкIу, Iэджэрэ уэ езыр узыхуейм зыхуэбгъэныкъуа къыщIэкIынщ. НОРЭ. ГурыIуэгъуэщ. Псом нэхърэ нэхъ фейдэшхуэ хэзыхыр сэратэкъэ. Торвэлд, псалъэм папщIэ, къызитт бостей уаси, сэ тезгъэкIуадэр и ныкъуэрат. Сыт щыгъуи нэхъ пуду, нэхъ къызэрыкIуэу къэсщэхут. Насып сиIэти, псори сэкIут, арати гу лъитэтэкъым. Ауэ сэ езым мызэ-мытIэу къыщыстехьэлъэ къэхъуащ, Кристинэ. Хэт дахэу зихуэпэну зыфIэмыфIыр! Пэжкъэ? ЛИННЕ-ГУАЩЭ. ПцIы хэлъкъым. НОРЭ. НэгъуэщI хэхъуапIэ гуэрхэри къыщысхукъуэкIи щыIэт. ЩIымахуэ кIуам сехъулIэри къитхыкIын хуей куэд къысIэрыхьат. Пщыхьэщхьэ къэс си пэшым зыщIэзубыдэжурэ жэщыку хъуху еуэ-еуэу сытхэт. Сыту сешрэт языныкъуэхэм деж! ИтIани гухэхъуэт апхуэдэу улажьэурэ ахъшэ къэблэжьыну. ЦIыхухъуу зыслъытэжыным нэсат. ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Сыт хуэдиз-тIэ апхуэдэ амалкIэ упшыныжыфар? НОРЭ. Мис абы и пэжыпIэр бжесIэфынукъым. Апхуэдэ Iуэхухэр гугъу дыдэщ зэхэбгъэкIыну. СщIэ закъуэр къэзулъэпхъэщыфам хуэдиз зэрестыжаращ. Ауэ зыри щысхузэфIэмыкIыжи къэхъут Iэджэрэ. (ГуфIэу). Апхуэдэхэм деж сытIысти лIыжь бей гуэр къызэхъуэпсауэ къызэфIэзгъэщIт… ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Ы? Сыт лIыжь? НОРЭ. Зыри Iей! Псалъэм папщIэ, ар малIэ, и уэсятыр зэтрахри хьэрфышхуэкIэ тхауэ мыр иту къыщIокI: «Си ахъшэ псори икIэщIыпIэкIэ дыщэ защIэу си псэм хуэдэ Хелмэр Норэ-гуащэ къыхузогъанэ». ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Норэ, си псэ, сыт хуэдэ лIыжь зи Iуэху зепхуэр? НОРЭ. Ярэби, сыту къыбгурымыIуэрэ? ЩыIэххэтэкъым зы лIыжьи. Си нэгум и закъуэт ар щыпсэур. Ахъшэ къыздисхын щызимыIэхэм деж апхуэдэурэ зытезгъэут. Хъунщ, зэпыту укIуэ а лIыжь зэшыгъуэри. Иджы зыри къысфIэIухужкъым. Езыми и уэсятми сыхуэныкъуэжкъым. Иджы сыщIэгузэвэн сиIэжкъым, Кристинэ. (Къыщолъэт). Уа ди Тхьэ, сыту фIыгъуэшхуэ! Егупсысыт, зы щхьэкIи умыгузавэу! УщIэгузави уигу къеуи щымыIэу! Упсэурэ-упсэууэ, сабийхэм уакIэрыщIауэ. Уи унэм дахэу, екIуу, Торвэлд зэрыфIэфым хуэдэу унэлъащIэхэр щIэбгъэувэу. Ауэрэ хуэмурэ гъатхэри къохьэ, уафэ къащхъуэр, дуней хуитыр. ЗыщIыпIэ дыкIуэфынри хэлъщ. Аргуэру хыр тлъагъункIи хъунщ. Сыту гухэхъуэ насыпыфIэу зыплъытэжу упсэуну! ЩIэхьэпIэм уэзджынэ макъ къыщоIу. ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Уэзджынэр къагъаджэ. СыщIэкIыжмэ нэхъыфI къыщIэкIынщ сэ. НОРЭ. Щыс, ущIэмыкIыж, мыбы зыри къыщIэхьэнукъым. Торвэлд деж зыгуэр къэкIуа къыщIэкIынщ. IУЭХУТХЬЭБЗАЩIЭ. (Iужыбжэм[2] деж щыту). Къысхуэгъэгъу, гуащэ, зиусхьэн гуэр къэкIуащ зиусхьэн уэчылым Iуэху хуиIэу. НОРЭ. «Зиусхьэн унафэщIым деж» жыпIэнурат, пэжкъэ? IУЭХУТХЬЭБЗАЩIЭ. Зиусхьэн унафэщIым. Ауэ сщIэкъым – абы и деж дохутырыр щIэскъэ… НОРЭ. КъэкIуар хэту пIэрэ? КРОГСТЭД. Сэращ ар, Хелмэр-гуащэ. Линне-гуащэр къощтэри къэуIэбжьауэ щхьэгъубжэмкIэ зегъазэ. НОРЭ. (КъыщIэхьам зы лъэбакъуэкIэ пэгъунэгъуу мэбакъуэри, гузавэу, и макъыр иришэхауэ). Уэри? Дауэ ар къызэрыбгурыIуэнур? Сыт хуэдэ Iуэху си щхьэгъусэм ухуиIэр? КРОГСТЭД. Банк Iуэхуу жыпIэ хъунущ. Сэ Акционер банкым IэнатIэ цIыкIу гуэр щысIыгъщ, уэ уи щхьэгъусэр ди унафэщI хъуауэ жаIэри, абы къыхэкIыу… НОРЭ. Абы къыхэкIыу… КРОГСТЭД. Си щхьэ Iуэхущ, Хелмэр-гуащэ. НэгъуэщI Iуэху сиIэкъым. НОРЭ. НтIэ, еблагъэ езым и кабинетым. (КъыфIэмыIуэхуу щхьэщэ ещI, бжэр егъэбыдэжри, жьэгур зэрагъэплъым еплъыну бгъэдохьэ). ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Норэ… Хэт ар? НОРЭ. Хуитырылажьэ уэчыл Крогстэд. ЛИННЕ-ГУАЩЭ. НтIэ, сыщыуакъым. НОРЭ. ПцIыхуу ара ар? ЛИННЕ-ГУАЩЭ. СцIыхуащ... Илъэс зыбжанэ ипэкIэ. Абы зы зэман ди щIыпIэм щызэхагъэкI Iуэхухэр зэрихьэу щытащ. НОРЭ. Пэжщ. ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Сыту зихъуэжа! НОРЭ. Си гугъэмкIэ, и унагъуэ Iуэхур къехъулIатэкъым абы. ЛИННЕ-ГУАЩЭ. И щхьэгъусэр дунейм ехыжащ иджы, ара? НОРЭ. Сабий гуп къыхуигъанэри… Хъуащ, иджы къызэщIэплъащ. (Жьэгум къыбгъэдокIыжри шэнт-хъыринэр тIэкIу IуегъэкIуэт). ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Абы Iуэху Iэджи зэрихуэу жаIэ. НОРЭ. НтIэ. ПэжынкIи хъунщ. Сэ хэсщIыкIыххэкъым. Ауэ куэдщ Iуэхухэм дызэрегупсысар, зэшыгъуэ хъуным нэсащ. Хелмэр и пэшым дохутыр Ранк къыщIокIыж. ДОХУТЫР РАНК. (КъызэрыщIэкIыжым хуэдэурэ). Хьэуэ, хьэуэ, зэран сыфхуэхъуну сыхуейкъым. Уи щхьэгъусэм деж сыщIэплъэнщи нэхъыфIщ. (Бжэр зэдыхуещIыжри Линне-гуащэм гу лъетэ). Къысхуэвгъэгъу. Мыбдежи зэран сыщыхъу си гугъэщ. НОРЭ. АIэ, ухъукъым. (Зыр адрейм ирегъэцIыху). Дохутыр Ранк - Линне-гуащэ. РАНК. А! А цIэр куэдрэ щызэхэсхащ сэ мы унэм. Си гугъэмкIэ, уэращ дэкIуеипIэм къыщызэзнэкIар? ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Сэращ. Сэ хуэму фIэкIа сыдэкIуеифкъым, къызохьэлъэкI. РАНК. Ыхьы! Гум уишэжкъым жоIэ. ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Сызэреша къудейрауэ къысфIощI. РАНК. Аркъудей? Зыбгъэпсэхуну укъэкIуауэ ара къыщIэкIынщ къалэм, бысым чэзу пщIыурэ? ЛИННЕ-ГУАЩЭ. ЛэжьапIэ къыщызолъыхъуэ. РАНК. Хъарзынэщ, мис абы уешыIуэным укъригъэлынущ, шэч хэмылъу. ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Псэун хуейщ, сыт пщIэнур? РАНК. Апхуэдэу дегупсысу десащ, нэгъуэщIу мыхъун нэхъей. НОРЭ. КхъыIэ, дохутыр. Уэри уи жагъуэ хуэдэкъым упсэуну. РАНК. ПэжынкIи хъунщ жыпIэр. Сыт хуэдизу къызэмыхьэлъэкIми, адэкIи си фэр исхыжурэ сыпсэуну сыхьэзырщ. Си сымаджэ къомри аращ. ПсэкIэ сымаджэхэри апхуэдэ дыдэщ. Апхуэдэ зы иджыпсту Хелмэр деж щIэсщ… ЛИННЕ-ГУАЩЭ. (Щэхуу). Ы? НОРЭ. Хэт зи гугъу пщIыр? РАНК. Уэчыл Крогстэд. Абы теухауэ зыри пщIэкъым уэ. И хьэлым и лъабжьэ дыдэхэр щIэфыкIащ абы, гуащэ. Ауэ абыи мыпсэункIэ амал имыIэу жеIэ. НОРЭ. Ара? Сыт-тIэ Торвэлд жриIэну зыхуейр? РАНК. СымыщIэкIэ. Акционер банкым теухуауэ зыгуэр жиIэу зэхэсхащ. НОРЭ. Крог… а уэчылыр банкым зыгуэркIэ пыщIауэ сщIэххакъым. РАНК. Къулыкъу гуэр щызэрехьэ. (Линне-гуащэ хуэгъэзауэ). Фи дежкIи апхуэдэ цIыху щызекIуэу пIэрэ? Техьэгъуэ зытехьам ещхьу дэнэкIи къыщаджэдыхьурэ зыщIыпIэкIэ хабзэншагъэ гуэрым и мэ къащыщIихьэным щыгугъхэу, къулыкъу ехьэжьа зыугуэшхэм я нэр и чэзууэ зэтрагъэхуэн папщIэ. АпщIондэхуи цIыху узыншэхэр Iэсэлъасэу къуэгъэнапIэм къуэсын хуей хъууэ. ЛИННЕ-ГУАЩЭ. НтIэ, сымаджэхэракъэ гулъытэ нэхъ ин хуэныкъуэр? РАНК. (И дамащхьэхэр дришейуэ). Мис аращ Iуэхушхуэр езыр! Апхуэдэ гупсысэкIэм йагъэкIэ цIыхубэ гъащIэ утыкур сымаджэщым ещхь мэхъу. Норэ и гупсысэхэм хэтурэ зэуэ хуэму мэдэхьэшхри и Iэгухэр зэтрегъауэ. Уэ сыт ар дыхьэшхэну къыщIыпщыхъуар? ЦIыхубэ жыхуаIэр пщIэрэ уэ сытми? НОРЭ. Iейуэ сыхуэныкъуэщ сэ фи цIыхубэ зэшыгъуэм! Сэ нэгъуэщI дыдэ гуэрщ сыщIэдэхьэшхыр. Сыту тхъэгъуэ! Иджы банкым щылажьэ псори Торвэлд и унафэм щIэтынущ, пэжкъэ, дохутыр? РАНК. Ара апхуэдизу узыгъатхъэр? НОРЭ. (ГуфIэурэ дзапэ уэрэд къришу). Ар сэ си Iуэхужщ. Си Iуэхужщ. (Пэшым щокIукI). Пэж дыдэу икъукIэ гухэхъуэщ дэ… Торвэлдщ жыхуэсIэр… апхуэдиз, апхуэдиз цIыху къыфIэлIыкIыу зэрыщытынум уегупсысыну. (И жыпым сэмб цIыкIу кърех). РАНК. Iыхьы! Дэ цIыкIу хэлъу гъурыжьэ! Ар пшхы мыхъун гуэр си гугъуати сэ. НОРЭ. Пэжщ, ауэ мыр Кристинэ тIэкIу къысхуихьауэ аращ. ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Хэт? Сэри? НОРЭ. Хъунщ-хъунщ, умышынэ. Дэнэт уэ щыпщIэр Торвэлд ар къысхуимыдэу. ПщIэрэ, си дзэхэр згъэкIуэдынкIэ мэшынэ. Ауэ сыт зэ закъуэ сшхымэ къэхъунур? Пэжкъэ, дохутыр? ЗыIугъахуэ! ( Дохутырым и жьэм зы гъурыжьэ жьэделъхьэ). Мэ, Кристинэ, уэри! Сэри зы цIыкIу закъуэ, е цIыкIуитI сшхыми йагъэ кIынукъым. (Аргуэру йокIукI). Пэжыр жысIэнщи, сэ егъэлеяуэ сынасыпыфIэщ. Ауэ иджыри зы закъуэ сыхуейт… РАНК. Сытыт ар? НОРЭ. Торвэлд щыту зыгуэр жысIэну сыхуейт. РАНК. Щхьэ жумыIэрэ-тIэ? НОРЭ. СоукIытэ. ЕмыкIущ. ЛИННЕ-ГУАЩЭ. ЕмыкIущ жыпIа? РАНК. Арамэ жумыIэ. Ауэ дэ укъытщымыукIытэ… Сыт апхуэдизу Хелмэр щыту жыпIэну узыхуейр? НОРЭ. «ШейтIаным иухь!» жысIэну Iей дыдэу сыхуейт. РАНК! Iэгъу! Iэгъу! ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Норэ, зыкъэщIэж! РАНК. Мис, къокIуэри жыIэ. НОРЭ. (Гъурыжьэ зэрылъ сэмбыр игъэпщкIуурэ). Щщщ! ХЕЛМЭР. (И Iэблэм бэлътор фIэдзарэ и шляпэр IэщIэлъу пэшым къыщIокI. Абы бгъэдэхьэурэ). Уи натIэ ибгъэкIа сытми, си псэ? ХЕЛМЭР. НтIэ, щIэкIыжащ. НОРЭ. УэзгъэцIыхуну хуит сыкъэщI. Мыр Кристинэщ, мыбы, мы къалэм къэкIуащ… ХЕЛМЭР. Кристинэ жыпIа?.. Къысхуэгъэгъу, сыщыгъуазэтэкъым… НОРЭ. Линне-гуащэ, си псэ, Линне Кристинэ-гуащэ! ХЕЛМЭР. Си щхьэгъусэм уэрэ фыкъыздэхъуа къыщIэкIынщ? ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Аращ, куэд щIауэ дызэроцIыху. НОРЭ. Уи нэгу къыщIэгъэхьэт, апхуэдэ гъуэгуанэшхуэ уэ къыпхуэзэн папщIэ зэпичащ. ХЕЛМЭР. Дауэ ар? ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Апхуэдэ дыдэри сыт, ауэ… НОРЭ. Кристинэ кIэнтIор IуэхухэмкIэ Iэзэ дыдэщ, аращи лэжьыгъэм фIыуэ хэзыщIыкI гуэрым деж увыну хуейт нэхъыфIыжу зригъэсэн папщIэ. ХЕЛМЭР. Губзыгъагъэщ, гуащэ. НОРЭ. Арати, уэ банкым и унафэщIу узэрагъэувар зэрызэхихыу – ар кIэзетхэм тетащ-тIэ – занщIэу мыбы къэлъэтащ. Уэ си хьэтыркIэ, Торвэлд, Кристинэ зыгуэр хуэпщIэфынщ, пэжкъэ? ХЕЛМЭР. ПщIэну щыткъым. Уи щхьэгъусэр дунейм ехыжауэ ара? ЛИННЕ-ГУАЩЭ. НтIэ. ХЕЛМЭР. КIэнтIор лIэжьыгъэми хыбощIыкI? ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Хъарзынэу сыщыгъуазэщ. ХЕЛМЭР. НтIэ, IэнатIэ гуэр къыпхуэзгъуэтыфынри хэлъщ. НОРЭ. (Iэгу еуэурэ). Плъагъурэ! Плъагъурэ! ХЕЛМЭР. И чэзу дыдэу укърихьэлIащ, гуащэ. ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Тхьэр арэзы къыпхухъу, сыту себгъэхъулIа! ХЕЛМЭР. Iуэхукъым. (Бэлътор щетIагъэ). Ауэ нобэ къысхуэвгъэгъу… РАНК. КъэувыIэ, сэри сыуигъусэщ. (Iужым щыфIэдза и джэдыгур къыщIехьэри хьэкум щхьэщиIыгъэурэ егъэхуабэ). НОРЭ. Торвэлд, си псэ, зумыгъэгувэ закъуэ. ХЕЛМЭР. Сыхьэт сыкъэтынуми аращ. НОРЭ. Кристинэ, уэри ущIэкIыжу ара? КРИСТИНЭ. (Бэлътор щитIэгъэжурэ). НтIэ, сыщыпсэун пэш гуэр къэзмылъыхъуэу хъунукъым. ХЕЛМЭР. НтIэ, зэгъусэу дыщIэкIынщ? НОРЭ. (Линне-гуащэ дэIэпыкъуурэ). Ди унэр апхуэдизу зэпэзэву щымытамэ, ущыIэнтэкъэ, зыри амалкъым... ЛИННЕ-ГУАЩЭ. Сыт жыпIэр? Абы сегупсысыххакъым. Узыншэу, си псэм хуэдэ Норэ, сынохъуэхъу псом щхьэкIи. НОРЭ. Узыншэу иджыркIэ. Пщыхьэщхьэ укъэкIуэнщ иджыри, Тхьэм жиIэмэ. Уэри, дохутыр. Сыт? Гукъыдэж сиIэмэ жыпIа? УиIэнущ амал имыIэу. ФIыуэ зызэщIэкудэ закъуэ. Псори уэршэрурэ, сэлам зэрахыжурэ, щIокI. ДэкIуеипIэмкIэ сабий макъ къоIукI. Ахэращ ар! Ахэращ! (Мажэри Iужыбжэр Iуех). Дэгызэ Аннэ-Марие сабийхэр и гъусэу къыщIохьэ. ФыкъыщIэхьэ! ФыкъыщIэхьэ! (Зрегъэзыхри сабийхэм ба яхуещI). Си псэ закъуэхэ, си IэфIхэ! Еплъыт мыбыхэм, Кристинэ! Фо цIыкIу защIэхэкъэ? РАНК. Жьы зэпрыхум ущыуэршэр хъунукъым! ХЕЛМЭР. НакIуэ, Линне-гуащэ. Мыбы анэхэращ иджы къыщIэнэну зи чэзур. Дохутыр Ранк, Хелмэр, Линне-гуащэ сымэ щIокIыж, Аннэ-Марие сабийхэр и гъусэу пэшым къыщIохьэ. Норэи Iужыбжэр егъэбыдэжри пэшым къыщIохьэ. НОРЭ. Сыту фынэжэгужэ икIи фыкъызэщIэплъа! Фи нэкIу цIыкIухэр плъыжьу! МыIэрысэ цIыкIухэм, гулъ цыкIухэм фарещхьщ!.. Апхуэдэу нэгузыужьт? Ар фIы дыдэщ. Пэжкъэ? Боби Эммэи IэжьэкIэ къепшэкIауэ ара? ТIури зэуэ? Еплъыт абы! ЩIалэфIщ си къуэ цIыкIу Ивар! Хьэуэ, егъэIыгъ, Аннэ-Марие! Си псэм хуэдэ, си гуащэ цIыкIу! (Дэгызэм хъыджэбз нэхъыщIэр къыIехри ар иIыгъыу зегъэкIэрахъуэ). НтIэ, нтIэ, Боби Анэм къыдэфэнущ. Сыт жыпIа? УэскIэ дызэзэуащ жыпIа? Сэри сывигъусарэт! Ягъэ кIынкъым, Аннэ-Марие, сэ стIэщIыжынхэщ. КхъыIэ, сэ сыгъэщI, ар сэ зыкIэ сфIэфщи. Мобдеж, хьэкущхьэм кофе къыпхуэзгъэнауэ тетщ. Дэгызэр бжэ сэмэгумкIэ щIокI. Норэ сабийхэр етIэщIыж, езыхэм ядэуэршэрурэ щыгъын Iувхэр адэ-модэкIэ зэбгредз. Пэжуи? Хьэшхуэ къыфкIэлъыжауэ ара? Къывэдзэкъакъэ? Хьэуэ, хьэхэр апхуэдэ къупщхьэгуащэ дахэ цIыкIухэм едзакъэкъым. Цыс! Ивар, зыкIуэцIышыхьахэм зэкIэ уеплъ хъунукъым. Илъри? ФщIарэт абы илъыр! Хьэуэ-хьэуэ. Абы уеIусэ хъунукъым. Сыт? Фыджэгунуи? Сыт дызэрыджэгунур? ГъуэрыгъуапщкIуэи? ИIэ-тIэ, гъуэрыгъуапщкIуэ дыджэгунщ. Япэу Боби зегъэпщкIу. Сэри? Хъунщ-тIэ, сэ япэу зызгъэпщкIунщ. Джэгун щIадзэ, дэхьэшхыу, зэрызехьэу. ЗыщIэс пэшми, къыбгъурытми зыщагъэпщкIу. ИкIэм Норэ Iэнэ лъабжьэм зыщегъэпщкIу. Сабийхэр зэрызехьэу пэшым къызэрыщIохьэри Анэр къалъыхъуэ, ауэ къахуэгъуэткъым, щэхуу зэрыдэхьэшхыр зэхах, итIанэ Iэнэтепхъуэр къаIэтри кIийуэ къагъуэт. Псоми ягу хохъуэ. Норэ игъэшынэнхэу зищI хуэдэ зыкъыщIешиикI. Аргуэру псори гуфIэу мэкIий. Абы хэту зыгуэр щIыбыбжэм къытоуIуэ. Ар зыми зэхихкъым. ИтIанэ бжэр къызэIуокIри Крогстэд къыщIохьэ. Ар зы дакъикъэкIэ поплъэ. Джэгур йокIуэкI. КРОГСТЭД. Къысхуэгъэгъу, Хелмэр-гуащэ. НОРЭ. (МащIэу къыхокIиикI, зыкърегъэзэкIри зыкъытреIэтыкI). А! Сыт фызыхуейр? КРОГСТЭД. Къысхуэгъэгъу. ЩIыбыбжэр Iухат, ягъэбыдэжыну ягу къэкIыжа къыщIэкIынкъым. НОРЭ. Щхьэгъусэр щIэскъым, зиусхьэн Крогстэд. КРОГСТЭД. СощIэ. НОРЭ. НтIэ… сыт укъыщIэкIуар? КРОГСТЭД. Сынопсэлъэну. НОРЭ. Сэ… (Сабийхэм щэхуу). Аннэ-Марие деж фыкIуэ. Сыт? Хьэуэ, дотэм Анэм зыри кърищIэнукъым. Ар кIуэжмэ, иджыри дыджэгунщ. (Сабийхэр сэмэгумкIэ щыт пэшым щIегъэхьэри бжэр егъэбыдэ. Гузавэу, Iэнкуну). Укъызэпсэлъэну ухуейуэ ара? КРОГСТЭД. НтIэ, сыхуейщ. НОРЭ. Ноби? Нобэ … мазэм и япэ махуэр къэсакъым иджыри… КРОГСТЭД. Хьэуэ, илъэсыщIэ жэщщ. ИкIи уэращ зэлъытар ар махуэшхуэ хъунрэ мыхъунрэ. НОРЭ. Сыт узыхуейр? Сэ нобэ зы амалкIи схузэфIэкIынукъым... КРОГСТЭД. Абы зэкIэ дытепсэлъыхьынкъым. НэгъуэщI зыгуэр. Дакъикъэ закъуэ уиIэ? НОРЭ. Ммм. НтIэ, шэч хэмылъу, сиIэщ, ауэ… КРОГСТЭД. Хъунщ. Илъабжьэм, Ульсен и рестораным сыщIэс пэт, уи щхьэгъусэр уэрамымкIэ зэрыблэкIыр слъэгъуащ. НОРЭ. НтIэ, нтIэ. КРОГСТЭД. Бзылъхугъэ гуэр и гъусэу? НОРЭ. НтIэ сыт? КРОГСТЭД. СыщIэупщIэну хуит сыкъэфщIыт. Ар Линне-гуащэкъэ? НОРЭ. Аращ. КРОГСТЭД. Къалэм къэкIуа къудейуэ ара? НОРЭ. НтIэ, нобэ. КРОГСТЭД. Ар уи ныбжьэгъуфI къыщIэкIынщ? НОРЭ. Аращ, ауэ къызгурыIуэкъым… КРОГСТЭД. Сэри зэгуэр си нэIуасэу щытащ ар. НОРЭ. СощIэ. КРОГСТЭД. Пэжуи? УощIэ, ара? Арат сэри зэрызигугъэр. НтIэ, ехьэкI-къехьэкI хэмылъу сынывэупщI хъуну: Линне-гуащэ банкым уврэ? НОРЭ. Си щхьэгъусэм и унафэ ущIэту дауэ апхуэдэу укъызэупщIыныр къызэребгъэкIур? Ауэ укъыщызэупщIакIэ бжызоIэ: нтIэ, Линне-гуащэ банкым щылэжьэнущ. ИкIи сэращ, зиусхьэн Крогстэд, а Iуэхур пхызыгъэкIар. Мис аращ! КРОГСТЭД. НтIэ, сыщыуакъым а жыхуэпIэм. НОРЭ. (Пэшым щикIукIыурэ). Дэри ди хьэтыркIэ зыгуэрхэр ящIэми йагъэ мыкIыну къысщохъу. УцIыхубзмэ, абы къикIкъым… Уэри си щхьэгъусэм и унафэм ущыщIэткIэ, зиусхьэн Крогстэд, ухуэсакъ хъунущ и жагъуэ пщIын… ммм… абы … КРОГСТЭД. Зи хьэтыр илъагъум? НОРЭ. Ардыдэщ. КРОГСТЭД. (И псэлъэкIэр ихъуэжу). Хелмэр-гуащэ! Уи хьэтырыр си фейдэкIэ къыпхуэмыгъэщхьэпэну пIэрэ? НОРЭ. Ар дауэ? Сыт жыпIэну узыхуейр? КРОГСТЭД. Банкым щызесхьэ къулыкъур къысхуэнэн папщIэ уи хьэтырыр къомыгъэщхьэпэфыну пIэрэ? НОРЭ. Сыт абы къибгъэкIыр? Хэт уэ уи IэнатIэм уIузыгъэкIыр? КРОГСТЭД. Iуэхум ущымыгъуазэ хуэдэу фэ щIызытебгъэуэн щыIэкъым. Сэ къызгуроIуэ уи ныбжьэгъур сэ къысIууэну зэрыхуэмеинур, сызэрырахужьэмкIи фIыщIэ зыхуэсщIын хуейр хэтми сощIэ… НОРЭ. Уи фIэщ щIы… КРОГТСЭД. НтIэ, нтIэ… Иджыри зэман диIэщи сынолъэIу уи хьэтырыр къысхуэбгъэщхьэпэну ар къэмыхъун папщIэ. НОРЭ. Зиусхьэн Крогтсэд, сэ зы хьэтыри сиIэххэкъым. КРОГСТЭД. УимыIэххэуи? Си гугъэмкIэ, иджыпсту дыдэщ щыжыпIар… НОРЭ. ГурыIуэгъуэщ. Ауэ сэ къизгъэкIар нэгъуэщIщ. Сэри? Дауэ уи нэгу къызэрыщIэбгъэхьэр сэ си щхьэгъусэм зыгуэр схуегъэщIэныр? КРОГСТЭД. Ярэби, сэ уи щхьэгъусэр дызэрыстудентрэ соцIыху. Си гугъэкъым зиусхьэн унафэщIыр адрей унагъуэлIхэм нэхърэ нэхъ къытегъэхьэгъуейуэ. НОРЭ. Си щхьэгъусэм хуэмыфащэ хужыпIэнумэ, ущIэкIыжыну сынолъэIунущ. КРОГСТЭД. ИкъукIэ ухахуэщ уэ, Хелмэр-гуащэ. НОРЭ. Сэ сыпщышынэжкъым афIэкIа. ИлъэсыщIэр къызэрихьэу псори зытезгъэкIыжынущ зыри къэмынэу. КРОГСТЭД. (Нэхъ зэпIэзэрыту). ПщIэрэ, Хелмэр-гуащэ. Амалым хуекIуэн хуей хъумэ, сэ си псэ себлэжынукъым банкым щысIыгъ IэнатIэ цIыкIур къысхуэнэн папщIэ. НОРЭ. Солъагъу. КРОГСТЭД. Улахуэм щхьэкIэкъым. Ар нэхъ мащIэ дыдэу къысфIэIуэхуращ. Мыбдежым нэгъуэщIщ Iуэхум хэлъыр. Зызумысыжынщ. Iуэхур зыIутыр мыращ. Уэ, хэти хуэдэу, уощIэ сэ зэгуэр семыгупсысу зыгуэр зэрысIэщIэщIар. НОРЭ. Зыгуэр зыхэсхащ. КРОГСТЭД. Iуэхур хейщIапIэм нэсатэкъым, ауэ абы лъандэрэ гъуэгу псори щызэхуащIат си гупэкIэ. Арати а … зэдэтщIэж Iуэхухэм сыхэхьащ. УзыхэпсэукIын гуэр ухуейтэкъэ? Пэжыр жысIэнщи, мыIейуи зесхьащ а Iуэхур абы хэтхэм елъытауэ. Ауэ иджы сызэрыхуа щытыкIэм сыкъикIыжын хуейщ. Си къуэхэр балигъ мэхъу ауэрэ. ЦIыхубэм деж щыулъия си цIэр зэрыхъукIэ къыщIэзмыгъэщыжу хъунукъым абыхэм папщIэ. Банкым сыщылэжьэныр а лъэныкъуэмкIэ япэ лъэбакъуэт. Иджы уи щхьэгъусэм зэ еIунщIыгъуэкIэ мащэм среутIыпщхьэ. НОРЭ. Уи фIэщ щIы, зиусхьэн Крогстэд, сэ зыкIи сыбдэIэпыкъуфынукъым. КРОГСТЭД. Ухуейкъыми аращ укъыщIыздэмыIэпыкъуфынур. Ауэ сэ узэрыхэзгъэзыхьын амал сиIэщ. НОРЭ. Уи щIыхуэ зэрыстелъыр си щхьэгъусэм жепIэжыну ара? КРОГСТЭД. Ммм! ЖесIэжмэ-щэ? НОРЭ. Ар емыкIу дыдэт итIанэ уи лъэныкъуэкIэ. (И макъым нэпс щIэту). Дауэ? А щэхур – зыщIэзгъэщIагъуэ, сыщIэгуфIэ си щэхур - апхуэдэу пхъашэу, емыкIуу, уэ къыббгъэдэкIыу къищIэнуи? Нэхъ гухэщIышхуэ дыдэу щыIэр сыбгъэшэчыну ухуейуэ ара? КРОГСТЭД. ГухэщI къудей? НОРЭ. (КъызэщIэплъауэ). Ауэ уеплъыжарэт, итIанэщ уи Iуэхур нэхъеижитI щыхъунур. Ар пщIэмэ, си щхьэгъусэм узэрымыцIыху щIагъуэр къыгурыIуэпэнщи, абы иужькIэ банкым укъыIуинэну ущымыгугъ. КРОГТСЭД. Сэ сыноупщI: унэкIуэцI гухэщIыгъуэ фIэкIа зыми ущышынэкъэ? НОРЭ. Си щхьэгъусэм къищIэмэ, къэнар зэуэ къуитыжынурэ дыщIызэхуэзэн щхьэусыгъуэ щыIэххэнукъым. КРОГСТЭД. (Зы лъэбакъуэкIэ пэгъунэгъу зищIурэ). КъэдаIуэт, Хелмэр-гуащэ. Уэ е зыри уигу пхуиубыдэкъым, е Iуэхум зыри хэпщIыкIыххэкъым. Псори нэгъэсыпауэ къыбгурызмыгъаIуэу хъуну къыщIэкIынкъым. НОРЭ. Дауэ ар? КРОГСТЭД. Уи щхьэгъусэр сымаджэ хъуа нэужь, укъакIуэри доллэр минрэ щитIрэ щIыхуэу уэстыну укъызэлъэIуащ. НОРЭ. СщIэтэкъым нэгъуэщI сызэлъэIун! КРОГСТЭД. А ахъшэр къыпхуэзгъуэтыну укъэзгъэгугъащ. НОРЭ. ИкIий къысхуэбгъуэтащ. КРОГСТЭД. Укъызэрызгъэгугъар псоми зэращI хабзэмкIэщ. Уэ абы щыгъуэ уи щхьэгъусэр зэрысымаджэм апхуэдизкIэ уигъэщхьэжагъуэти псо дыдэми щыгъуазэ зыпщIыныр уи Iуэхутэкъым. Аращи иджы ахэр уигу къызогъэкIыж. Пэжщ, ахъшэр къыпхуэзгъуэтыну укъэзгъэгугъэри щIыхуэ тхылъ пхуэстхащ. НОРЭ. НтIэ, сэ абы Iэ щIэздзащ. КРОГСТЭД. Аращ. Ауэ и лъабжьэм уи адэм къыбгъэдэкIыу псалъэ зыбжанэ кIэщIэстхат – ар уэ уи щыхьэту зэрыувыр. А сатырхэм уи адэм езым Iэ щIидзын хуеящ. НОРЭ. Хуея къудей?.. ИкIий щIидзащ. КРОГСТЭД. Сэ махуэр иратхэжыну щIыпIэ къэзгъэнат. Сытми, уи адэм тхылъымпIэм Iэ щыщIидза махуэр езым иригъэувэжын хуейт. ПщIэжрэ ар, гуащэ? НОРЭ. СщIэж си гугъэщ… КРОГТСЭД. Сэ щIыхуэ тхылъыр уэстащ уи адэм хуебгъэхьын папщIэ. Аракъэ? НОРЭ. Аращ. КРОГСТЭД. Уэ, дауи, ар занщIэу ебгъэхьащ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, махуитху-хы зэрыдэкIыу уи адэм и Iэр щIэлъу тъылъыр къысхуэпхьри ахъшэр къыпIэрыхьащ. НОРЭ. Аращ-тIэ, и чэзум уэстыжурэ дыкъекIуэкIакъэ? КРОГСТЭД. Зэрыхъум хуэдэу. Ауэ… дызытепсэлъыхьым дытехьэжынщи, а зэманым уэ гугъу уехь къыщIэкIынт, Хелмэр-гуащэ? НОРЭ. Пэжщ. КРОГСТЭД. Уи адэр, си гугъэмкIэ, сымаджэ хьэлъэт? НОРЭ. ПIэхэнэ хъуат. КРОГСТЭД. Куэд дэмыкIыуи дунейм ехыжащ, аракъэ? НОРЭ. НтIэ. КРОГСТЭД. КъызжеIэт, Хелмэр-гуащэ, уи адэр щылIа махуэр уигу къимынауэ пIэрэ зэрымыщIэкIэ? Дунейм щехыжа махуэмрэ мазэмрэ? НОРЭ. ФокIадэм и тIощIрэ бгъум дунейм ехыжащ си адэр. КРОГСТЭД. Пэж дыдэщ. Сэри сыщIэупщIат. Иджы зэрызэхуэмыкIуэм еплъ мы Iуэхур… (ТхылъымпIэ къыдех), къызгурыIуэну къару зыхуэзмыгъуэтыр. НОРЭ. Сыт зэхуэмыкIуэр? СщIэкъым… КРОГТСЭД. ЗэхуэмыкIуэр аращи, Хелмэр-гуащэ: уи адэм векселым Iэ щыщIидзар, езыр дунейм ехыжу махуищ дэкIыжа нэужьу къыщIокI. НОРЭ. Дауэ? КъызгурыIуэкъым. КРОГСТЭД. Уи адэр фокIадэм и тIощIрэ бгъум дунейм ехыжащ. Ауэ еплъ. И IэщIэдзым жэпуэгъуэм и етIуанэр щIэтщ. Ар гурыIуэгъуэ? Норэ щымщ. КъызгурыбгъэIуэфыну пIэрэ? Норэ иджыри щымщ. НэгъуэщIу гу зылъыптэращи: «жэпуэгъуэм итI» псалъэхэри илъэсри уи адэм и тхыгъэкIэкъым зэрытхар, сцIыхуу къысфIэщI нэгъуэщI хъэтIкIэщ. Ар иджыри зыгурыбгъэIуэфынущ: уи адэм махуэмрэ илъэсымрэ щIитхэну игу къэмыкIыжынри хэлът Iэ щыщIидзми, абы и пIэкIэ ар хуэгъэфэщауэ, щылIа махуэр зымыщIэ нэгъуэщI гуэрым щIитхэжауэ уегупсыс мэхъу. Абы зэкIэ Iей зыри хэлъкъым. Iуэхур езы IэщIэдзращ. Ар пэж дыдэу уи адэра зи IэщIэдзыр, Хелмэр-гуащэ? НОРЭ. (ТIэкIурэ зиIэжьа нэужь, и щхьэр дреIэтейри уэчылым и нэм бзаджэу щIоплъэ). Хьэуэ, аракъым. Сэ щIэздзащ абы и пIэкIэ. КРОГСТЭД. КъэдаIуэт, Хелмэр-гуащэ… Уэ пщIэрэ апхуэдэу зыкъэбумысыжыныр зэрымыIуэху цIыкIур? НОРЭ. Сыт щхьэкIэ? Уи ахъшэхэр псори ирикъуу къыпIэрыхьэжынущ куэд дэмыкIыу. КРОГСТЭД. СыноупщI хъуну: сыт тхылъымпIэхэр уи адэм щIыхуумыгъэхьар? НОРЭ. Амал щыIэтэкъым. Ар сымаджэ хьэлъэт. Iэ щIэдз жысIэу селъэIуамэ, ахъшэр зэрысщIынымкIэ къызэупщIынут. Езыри пIэхэнэу си щхьэгъусэр зэрылIэн-къэнэныр дауэт зэрыхуэстхынур? КъысхузэфIэгъэщIтэкъым. КРОГСТЭД. Хамэ къэралым укIуэн гукъыдэжым упыкIамэ зэфIэкIат. НОРЭ. Ари амал зимыIэт. Абы си щхьэгъусэм и узыншагъэр елъытат. Ари къысхуэгъэнэнутэкъым. КРОГСТЭД. НтIэ, апхуэдэу щыпщIым сэ сыкъызэрыбгъапцIэр уигу къэкIакъэ? НОРЭ. Сэ ар къысфIэIуэхун щIыхуей щхьэусыгъуэ сиIэтэкъым. Уэ сыногупсысыну сыхуеиххэтэкъым. Си щхьэгъусэр псэзэпылъхьэ зэритыр пщIэуэ, сыхэбгъэзыхьурэ укъызэрыспкърыупщIыхьым щхьэкIэ услъагъу хъутэкъым. КРОГСТЭД. Хелмэр-гуащэ! Уэ уи къуаншагъэр ипэжыпIэкIэ IупщIу зэрумылъагъур наIуэщ. Ауэ бжесIэфынуращ: сэ си напэ щIытекIари, си цIэр зыгъэулъияри мыбы нэхърэ нэхъ Iейтэкъым икIи нэхъ шынагъуэтэкъым. НОРЭ. Уэ… Уи щхьэгъусэр къебгъэлын папщIэ апхуэдэ гуэр пхуэщIэну щытауэ си фIэщ пщIыну ухуейуэ ара? КРОГСТЭД. Хабзэр гукъэкIым еплъкъым. НОРЭ. НтIэ, щIагъуэкъым апхуэдэ хабзэр. КРОГСТЭД. ЩIагъуэми мыщIагъуэми, тхылъымпIэр хейщIапIэм естмэ, хабзэкIэ тезыр уагъэхьынущ. НОРЭ. ИгъащIэкIи си фIэщ хъункъым. И псэм еджэу телъ адэр гуныкъуэгъуэм щихъумэну пхъур хуимытуи? ЩуIэгъэм и лIыр къригъэлыну хуимытуи? Сэ фIыуэ сщIэкъым хабзэр, ауэ зыщIыпIэ деж апхуэдэ хуитыныгъэ итын хуейщ абы. Уэ у-юристу пщIэкъым ар. Уэ хабзэм хэпщIыкI щыIэ хъункъым, зиусхьэн Крогстэд! КРОГСТЭД. Арауи щрет. Ауэ… мы уэрэ сэрэ зэхудиIэуххэм зыгуэр зэрыхэсщIыкIым шэч къытепхьэкъым, пэжкъэ? Пэжщ. Узэрыхуейуэ щIы. Ауэ сэри бжызоIэ: иджыри зэ къызэлъэпауэIамэ, уэри гъусэ укъысхуэхъунущ. (Щхьэщэ ещIри щIыбыбжэмкIэ щокIыж). НОРЭ. (ДакъикъэкIэ гупсыса нэужь, и щхьэр еIэтри) Аращ ар сытми! Сигъэшынэну арат зыхуейр. Апхуэдэкъым узрихьэлIар! (Сабий щыгъынхэр зэщIикъуэжын щIедзэри къищтахэр хыфIедзэж). Ауэ… Хьэуэ, ар хъункIэ амал зимыIэщ! Сэ ар лъагъуныгъэращ сэзыгъэщIар. САБИЙХЭР. (СэмэгумкIэ хэлъ бжэмкIэ). Ди Анэ, дотэр куэбжэмкIэ дэкIыжащ. НОРЭ. НтIэ, нтIэ, сощIэ. Ауэ зыми жевмыIэ дотэр къызэрыкIуар. Зэхэфхрэ! Фи Адэми жевмыIэ! САБИЙХЭР. Хъунщ, хъунщ, ди Анэ, уэ укъыддэджэгунукъэ-тIэ иджыри? НОРЭ. Хьэуэ, хьэуэ, иджыпсту хъунукъым. САБИЙХЭР. Уэ дыкъэбгъэгугъащ. НОРЭ. Пэжщ, ауэ иджыпсту сыхущIэхьэкъым. ФыкIуэ фыщIэхьэж, сэ Iуэху Iэджэи сиIэщ. ФыкIуэ, фыкIуэ, си псэм хуэдэ цIыкIухэ! (Щабэу ахэр пэшым щIегъэкIыжри бжэр якIэлъыхуещIыж. ИтIанэ тэхътэбаным йотIысхьэри хэдыкI къещтэ, зыбжанэрэ мастэкIэ хоIэбэри къоувыIэж). Хьэуэ! (ХэдыкI уэрдыхъур хыфIедзэ, къотэдж, Iужыбжэм бгъэдохьэри маджэ). Ленэ! Къэхь мыдэ уэздыгъейр! (СэмэгумкIэ щыт Iэнэм бгъэдохьэри къыдэгъэжыр къыIуех, аргуэру къоувыIэ). Хьэуэ, ар уи нэгу къыпхущIэмыгъэхьэн гуэрщ! IУЭХУТХЬЭБЗАЩIЭ. (Къудамэр иIыгъыу). Дэнэ деж згъэувын, гуащэ? НОРЭ. Мобдеж, унэкум. IУЭХУТХЬЭБЗАЩIЭ. Иджыри зыгуэр къыпхуэсхьын? НОРЭ. Хьэуэ, псори Iэгъуэу щылъщ, упсэу. УнэIутым уэздыгъейр егъэуври щIокIыж. (Уэздыгъейр иблэн щIидзэу). Мис мыбдежым шэху уэздыгъэхэр, мыбдежым удз гъэгъахэр… ЦIыху гущыкIыгъуэ… ПцIыщ, пцIыщ, пцIыщ! Апхуэдэ зыри къэхъункIэ амал иIэкъым. Жыгыр дахащэ хъунущ. Псори уэ зэрыпфIэфIым хуэдэу сщIынщ, Торвэлд... Уэрэди бжесIэнщ икIи сыкъыпхуэфэнщ. Бжэр къыIуехри тхылъымпIэ Iэрамэ IэщIэлъу ХЕЛМЭР къыщIохьэж. А!.. УкъэсыжакIэ? ХЕЛМЭР. НтIэ. Зыгуэр къыщIэхьа? НОРЭ. КъыщIэхьа жыпIа?.. Хьэуэ. ХЕЛМЭР. Ар дауэ-тIэ? Крогстэд куэбжэмкIэ дэкIыжу слъэгъуа къудейщ. НОРЭ. Ара? А, пэжщ, Крогстэд зы дакъикъэкIэ къыщIэхьат мыбы. ХЕЛМЭР. Норэ, уи нэкIумкIэ солъагъу укъыщхьэщыжыну лъаIуэу къызэрыкIуар. НОРЭ. Пэжщ. ХЕЛМЭР. ИкIий уэр-уэру укъэзэлъэIу хуэдэу. Мыбы къызэрыкIуар убзыщIу. КъолъэIуакъэ апхуэдэу? НОРЭ. КъызэлъэIуащ, Торвэлд, ауэ… ХЕЛМЭР. Норэ, Норэ, дауэ ар уи гум зэребгъэдар? Апхуэдэ цIыхум угурыIуэу, зыгуэркIэ къэбгъэгугъэу, абы нэмыщIыж сэри пцIы къысхуэбупсу? НОРЭ. ПцIыи? ХЕЛМЭР. Зыри къыщIэхьакъым, жыпIакъэ? (И Iэпхъуамбэр егъэдалъэ). АфIэкIа апхуэдэ сумыгъэлъагъу, бзу бзэрабзэ. Бзу бзэрабзэм и тэмакъыр сытым дежи къабзабзэу щытын хуейщ, зы макъ нэпцI къимыIукIыу. (И бгым зырешэкI). Аракъэ? Аращ зэрызигугъари. (ЕутIыпщыж). Сыту гупсэху ди унэ хуабэр. (ТхылъымпIэхэр зэтредз). НОРЭ. (Уэздыгъейр зэригъэщIэращIэм хуэдэу, щыму тэлай дехри). Торвэлд! ХЕЛМЭР. Сыт? НОРЭ. ПщэдеймыщкIэ Стенборгхэ фащэ пшыхь зэрызэхашэр сыту си гуапэ! ХЕЛМЭР. Сэри егъэлеяуэ сфIэгъэщIэгъуэнщ, иджы сыт хуэдэ амалу пIэрэ псори зэрызэбгъэплъынур жызоIэри. НОРЭ. А-а! Сыбэлэрыгъри сыхэухьэт абы! ХЕЛМЭР. Сыту? НОРЭ. Хъун хуэдэу зыри си щхьэм къихьэкъым. Псори мыхьэнэншэу, мыкIуэмытэу сфIохъу. ХЕЛМЭР. Норэ цIыкIу ара иджы зэрегупсысыр? НОРЭ. (И щIыбагъымкIэ къыдохьэри и шэнтуплIанщIэ натIэм зыкъытригъащIэурэ). Торвэлд, ухущIэхьэрэ? ХЕЛМЭР. Ммм! НОРЭ. Сыт мы тхылъымпIэхэр зищIысыр? ХЕЛМЭР. Банк Iуэхущ. НОРЭ. ЩIэбдзакIэ? ХЕЛМЭР. Си япэ ита Iуэху’зехьэхэм сызыхуэмей лэжьакIуэхэр IузгъэкIыну, лэжьыгъэри сызэрыхуейуэ зэтезухуэну хуитыныгъэ къаIэщIэзгъэкIащ. Абы илъэсыщIэм ипэ къихуэ тхьэмахуэр ихьынущ. ИлъэсыщIэм деж псори хьэзыру ирихьэлIэну сыхуейщ. НОРЭ. Араи а Крогстэд тхьэмыщкIэр… ХЕЛМЭР. Хьым. НОРЭ. (Иджыри и IэфракIэр шэнтуплIанщIэ натIэм тегъэщIауэ, Iэпхъуамбэхэр хуэмурэ щхьэгъусэм и щхьэцым иригъажэурэ). УхущIэхьэу щытамэ, Торвэлд, Iуэхутхьэбзэшхуэ дыдэкIэ сынолъэIунут. ХЕЛМЭР. Сыт хуэдэу пIэрэ ар? НОРЭ. Уэ пхуэдэу зыми къыхэхыкIэ ищIэкъым-тIэ. Сыту сыхуейт а фащэ пшыхьым екIуу хуэпауэ сыкIуэну. Си Iуэху зумыхуэфыну пIэрэ, Торвэлд, сыт щыстIэгъэнуми дауэ зысхуэпэнуми къызжепIэн хуэдэу. ХЕЛМЭР. Ыхьы! Ерыщ цIыкIум къезыгъэлын къилъыхъуэу ара? НОРЭ. Аращ, Торвэлд, уэрыншэу си закъуэ схузэфIэкIынукъым. ХЕЛМЭР. Хъунщ, хъунщ. Дегупсысынщи амал гуэр къыхуэдгъуэтыфыну къыщIэкIынщ гуауэм. НОРЭ. Сыту фIыт! (Аргуэру уэздыгъей къудамэм бгъэдохьэри, тэлайкIэ щымщ). Удз гъэгъа плъыжьхэр сыту дахэу къыхэщрэ. Ауэ къызжеIэт, а Крогстэд зэрагъэкъуаншэр пэж дыдэу Iей дыдэ? ХЕЛМЭР. Ар дэфтэр нэпцI утыку къызэрырихьамкIэ ягъэкъуаншэ Ар зищIысыр пщIэрэ? НОРЭ. Амалыншагъэ гуэрым къыхэмыкIауэ пIэрэ ар? ХЕЛМЭР. Аращ, е, нэгъуэщI куэдым зэраIэщIэщIэм хуэдэу, зэрыцIыху псынщIэм къыхэкIынри хэлъщ. Сэри апхуэдизу сыгубыдэтэкъым цIыхур апхуэдэ зы Iуэху закъуэ IэщIэщIа щхьэкIэ къуаншэу згъэувыну. НОРЭ. НтIэ, пэжкъэ-тIэ, Торвэлд? ХЕЛМЭР. Къуаншащ жыхуэпIэ гуэрхэри я фIэщу щIегъуэжрэ тезыр яхуэфащэр яхьмэ, я напэр ятхьэщIыжыф. НОРЭ. Тезыри? ХЕЛМЭР. Ауэ Крогстэд а лъагъуэракъым зрикIуар. Абы пэжри пцIыри зэхитхъуэри зыкъыхигъэкъэбзыкIыжыну хуежьати, мис абыкIэщ и напэр зэрытрихыжар. НОРЭ. Уэ узэригугъэмкIэ ищIэн хуеяр… ХЕЛМЭР. Уи нэгу къыщIэгъэхьэт зи нэкIум апхуэдэ бжьыгъэ илъ цIыхум пцIыуэ иупсын, фэуэ зытригъэуэн хуейр зыхуэдизым; псоми я пащхьэ, зэрыщымыту зыщищIын хуей зэрыхъум, уеблэмэ и Iыхьлыхэм, и щхьэгъусэм, къилъхуа и бынхэм я пащхьэ нэгу’Iулъ Iулъым ещхьу ядэпсэууэ. Сабийхэм я гугъу щыпщIкIэ – ар нэхъеижитIщ, Норэ. НОРЭ. Сыт щхьэкIэ? ХЕЛМЭР. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, пцIыр зыхэIэба псэукIэм унагъуэ гъащIэр зэрыщыту егъэутхъуэри зэпкърегъэщэщ. Апхуэдэ дунейм къыхэхъукI сабийхэм жьы къэшэгъуэ къэс ягухэм ем и зы къуэпс гуэри щедз. НОРЭ. (И щIыбагъкIэ пэгъунэгъу зыкъыхуищIурэ). Шэч къытепхьэкъэ? ХЕЛМЭР. Уэчылу сылэжьэху Iэджэрэ щыхьэт сытехъуащ абы, си псэ. Гъуэгу пхэнж пасэу теувахэм я нэхъыбэм я анэхэр пцIыупст. НОРЭ. Анэхэр щхьэ нэхъ лей? ХЕЛМЭР. Анэхэм я дежщ ар нэхъыбэм къыщежьэр. Ауэ адэхэри апхуэдэ дыдэурэщ зэрыхэтыр а Iуэхум. Ар дэтхэнэ зы уэчылми ещIэ. А Крогстэдми илъэс бжыгъэкIэ и сабийхэм пцIымрэ фэрыщIыгъэмрэ я щхъухьыр яригъэшхащ, аращ абы и хьэлыр зэIыхьауэ щIэслъытэр. ( И Iэхэр хуишийуэрэ). Аращи, си Норэ IэфI цIыкIу абы щхьэкIэ къызэмылъэIуну сыкърегъэгугъэ. Къэхь уи Iэр, сыкъэбгъэгугъэрэ? Сыт-сыт, сыт ар? Къэхь уи Iэр! ДызэгурыIуащ, арати. Уи фIэщ щIы, сэ абы сызэрыдэлэжьэфын мы дунейм темыт. Апхуэдэ цIыхухэм си пкъым пкъырылъу гущыкI яхузиIэщ. НОРЭ. (И Iэр къыIэщIехыжри жыгым и лъэныкъуэ адреймкIэ къокIуэкI). Мыр сыту хуабэ. Сэ Iуэху си куэдщ… ХЕЛМЭР. (Къотэджри тхылъымпIэхэр зэщIекъуэж). Пэжщ, сэри шэджагъуэр къэмыс щIыкIэ мыхэр зэфIэзмыгъэкIыу хъунукъым. Уи фащэм и Iуэхуи зесхуэнщ. Дыщэпс тхылъымпIэм кIуэцIылъу уэздыгъейм фIэбдзэн гуэр, хэт ищIэрэ, къэзгъуэтынкIэи хъунщ. (И Iэр и щхьэм трелъхьэ). Уэри уэ, уасэ зимыIэ си бзу бзэрабзэ цIыкIу. (Кабинетым щIохьэжри бжэр здыхуещIыж). НОРЭ. (ТIэкIурэ щыму щыса нэужь, хуэму). Ей, аращ ар сытми! Ар къэхъунукъым. Ар къэхъункIэ амал зимыIэщ. Амал иIэ хъунукъым. АННЭ-МАРИЕ. (СэмэгумкIэ щыт бжэм деж). Сабийхэр я бзэм IэфI къытемынэжауэ «ди Анэ деж» жаIэурэ зыкIэ мэлъаIуэри! НОРЭ. Хьэуэ-хьэуэ! КъомыгъакIуэ ахэр си деж! Уэ яригъусэ, кхъыIэ, Аннэ-Марие. АННЭ-МАРИЕ. Хъунщ-хъунщ. (Бжэр зэдыхуещIыж). НОРЭ. (Гужьеигъуэм и фэр пихуу). Си шыр цIыкIухэр зэIызгъэхьэу!.. Унагъуэм йагъэ езгъэкIыу! (Щыму щыса нэужь, и щхьэр дыредзейри). Ар пэжкъым. Ар зэи, игъащIэ илъэс минкIэи пэж хъункIэ амал иIэкъым. [1] Гъурыжьэ - пыченэ. [2] Iуж – унэ щIэхьэпIэ, пырхъуэ.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "norvegiya.txt" }
ФАЛВАР[1] ДИГОРХЭМ КЪАХУИЩIА ТЫГЪЭР Гъунэгъу лъэпкъхэм я IуэрыIуатэм адыгэхэр къызэрыхэщым ди щIэджыкIакIуэхэр адэкIи щыгъуазэ тщIыну ди гуапэщ. «Фалвар дигорхэм къахуищIа тыгъэр» («Дар Фалвара дигорцам») таурыхъыр цIыхум игъэщIэрэщIэжа хъыбару щытми, зытепсэлъыхьыр адыгэшхэм я нэхъ лъэрызехьэхэм хабжэ щолэхъур дигор осетинхэм зэрахуэн зэрыщIадзарщ. Осетин таурыхъым къызэрыхэщымкIэ, шым я нэхъыфIыр - щолэхъурщ, пхъум я нэхъыфIыр ХьэтIохъущокъуэхэ я пхъурщ, къуэм я нэхъыфIыр Къуэгъулъкъухэ я щIалэрщ. Зи гъащIэ кIыхьыр быныншэу езыхьэкIа Къуэгъулъкъу Къуэгъулъкъуэ[2] и жьы хъугъуэм зы мыщэ цIыкIу къуэуэ игъуэтыжат. Куэдрэ гъынэнащ Къуэгъулъкъуэ, ауэ мыщэ шырри фIэпсэкIуэдти, еуэри ипIын щIидзащ. Мыщэ шырри ауэрэ хохъуэ, кумбым зыри имыщIэу исщ, нэгъуэщI къалэн иIэкъым. Зэман докIри, мыщэм щIалэхэм я зым зыхуегъазэ: - КхъыIэ, зекIуэ сыздэшэ! Арати, зекIуэлIхэм яхэту ежьа мыщэ шырыр зэрыгупу зыхуагъэфащэ лIыгъэр и закъуэ зэрихьауэ къокIуэлIэж. ЗекIуэр зэфIэкIащ. Мыщэ шырыр аргуэру и ныбжьэгъум деж лъэIуакIуэ макIуэ: - Си адэм къызигъэшэну схужеIэ. Модрейри Къуэгъулъкъу Къуэгъулъкъуэ хахуэм деж макIуэри и къуэм и гукъыдэжыр хуеIуатэ. Адэр къэгузэващ: - Алыхьышхуэм игу къызэбгъауэ пIэрэ? Дауэ сэ мыщэ шырым къызэрезгъэшэнур? Хэт ипхъу дызылъигъэхъунур? - ХьэтIохъущокъуэ ХьэтIохъущыкъуэ[3] и пхъум, - кърет жэуап ныбжьэгъум. - Сыт тщIэн, - жеIэ адэм, - дылъымыхъуу хъункъым. Арати, лIыкIуэхэр яшхэм мэшэсри, ХьэтIохъущокъуэ ХьэтIохъущыкъуэ и пхъум лъыхъуну йожьэ, псэлъыхъу мыщэ шырри я гъусэу. Гупыр ХьэтIохъущокъуэ ХьэтIохъущыкъуэ и унэм нэса нэужь, псэлъыхъур, малъхъэхэм зэращI хабзэу, шым къопсых, хьэщIэщым щIохьэри, къуэгъэнапIэм къуотIысхьэ. АпщIондэху щауэкъуэтым ХьэтIохъущокъуэхэ яжреIэ: - Мис мыр Къуэгъулъкъу Къуэгъулъкъуэ хахуэм и къуэщ, фи пхъум къыщIоупщIэ. Ар зэрызэхахыу, бысымхэм зэщыджэу гъын щIадзэ. Хуэмурэ зэрытогъэужхэри, хъыджэбзым деж лIыкIуэ ягъакIуэ: - Ухуеймэ, уеттынщ, ухуэмеймэ, «хьэуэ» жыпIэну ухуитщ. - Алыхьышхуэм ар си натIэ къыщритхакIэ, сыарэзыщ сыдэкIуэну, - къажреIэ пщащэм. Арати, ХьэтIохъущокъуэхэ я пхъумрэ мыщэ шырымрэ я нэчыхьыр ятх, щауэм нысащIэр IэплIэкIэ къещтэри, и унэ ехь. ХьэтIохъущыкъуейдэсхэм я нэгу щIэкIыр зэрагъэщIэгъуэнур ящIэртэкъым: - ХьэтIохъущокъуэхэ я пхъур мыщэм иратащ! Жэщым пщащэр ятIэ унэ гуэрым щIагъэтIысхьащ, мыщэм ишхынкIэ гузавэхэри. ЦIыхухэр гъуэлъыжа нэужь, мыщэм ятIэ унэр нэм имылъэгъуа налмэскIэ кърищIыкIщ, езым мыщафэр зыфIихри, фэкIи пкъыкIи зыхуэбгъэдэфын щымыIэ щIалэ къудан лъагъугъуафIэу зыкъызэкъуихащ. Абы и псэр бегъымбарым и бэуэкIэм къыхащIыкIат, цIыху дыдэу щымытми. Нэху ща нэужь, цIыхухэм хъыджэбзым деж зыгуэр ягъэкIуащ: - ФыкIуи и къупщхьэхэр къыщIэфхыж. Ауэ пщащэр зэрыщытам нэхърэ нэхъ дахэж хъуат, езыри апхуэдэлI къызэрыIэрыхьам иринасыпыфIэу гуфIэгъуэм зэрихьэрт. ХьэтIохъущокъуэхи адрейхэми Iуэхум щэху гуэр хэлъынкIи зэрыхъунур къагурыIуэри, етIуанэ жэщым лэгъунэм деж плъыр ягъэувыну мурад ящIащ, ныбжьыщIэхэм якIэлъыплъу Iуэхур зыIутыр къахуищIэну. Арати, мыщэ шырым мыщафэр зэрызыфIихыу, плъыр ягъэIущам ар къипхъуатэри мафIэм пэридзащ. Мыщафэм и сырымэр къызэрыщIихьэу, щIалэ бжьыфIэр бзу къуэлэн цIыкIу хъущ, щхьэгъубжэмкIэ дэлъэтри, бгъуэтмэ къащтэ. Мыщафэм къыпиха Iугъуэр къуажэкIэм деж щыт жыгыщхьэм щетIысэхащ. А жыгым жэщым зы мыIэрысэ къыпыкIэрт, ар бзу къуэлэн цIыкIум махуэм ишхырт, нэгъуэщI Iуэхуи иIэ хуэдэтэкъым. АпщIондэху цIыхухэм жыгыщхьэм бзу цIыкIу гуэр зэрытесыр зым адрейм хуигъэхъыбарурэ хэIущIыIу хъуащ. Зэгуэрым мыщэ шырым и щхьэгъусэри кIуэщ а жыгым дежи и щхьэм дэплъеящ. Бзумрэ хъыджэбзымрэ я нэхэр зэрызэтехуэу, тIури къэгъащ. Бзу цIыкIум жеIэ: - Сэ Фалвар си адэм тыгъэ сыкъыхуищIауэ арат, ауэ зыкIи сифI уэзгъэкIыжыфыркъым. Иджы цIыху гуп зэхуэшэси, мэкъуу зыIэрыбгъэфым хуэдиз зэхуегъэхьэс. Хъыджэбзыр а чэнджэщым едаIуэри, мэкъуу кърахьэлIэфым хуэдиз ягъэхьэзыращ. Абы и ужькIэ бзум нэгъуэщI чэнджэщ кърет: - ЦIыху теплъэр къызамытыжауэ, зы мэкъу Iэти зыми иумыщэ. Сэ гъатхэми си Iэзэгъуэ хэлъщ. Арати, бзу къуэлэн цIыкIум гъатхэпэ мазэм уэс къригъэсащ. ЦIыхухэр лIэн-къэнэным нэсат, езыхэр зыхэпсэукIыни я Iэщым ирагъэшхыни ямыIэжу. НэгъуэщI Iэмал щамыгъуэтым, кIуэхэри мыщэм и щхьэгъусэм елъэIуащ гъунэ зимыIэ щIы мылъкукIэ мэкъу къарихъуэжыну, ауэ нысащIэр яхутечакъым. ЦIыхухэр кIуэдыжыпIэм щихуапэм, нысащIэм деж езы Фалвар лъэIуакIуэ макIуэ. Ауэ хъыджэбзыр бзу къуэлэным къигъэIущакIэт: - Фалвар лъэIуакIуэ къызэрыпхуэкIуэу, си деж къашэ! Фалвар хъыджэбзым йоупщI: - Сыт мэкъур пщэн щIумыдэр? ЦIыхухэр зэрызэтелIэр плъагъуркъэ? НэгъуэщI мыхъуми, сэ къызэщэ! И фIэщу елъэIун щыщIидзэм, нысащIэм жэуап къритащ: - ДызэгурыIуэмэ, уэсщэнщ мэкъур. Япэрауэ, бзу къуэлэн цIыкIум япэрей теплъэр егъэгъуэтыж, и тхьэлъэIур къабыл хъууэ къанэу! ЕтIуанэу – Щолэхъу шы лъэпкъым щыщу хакIуитIрэ шыбзитIрэ, гъэлъэхъу къаритIрэ мэлитIрэ, ажитIрэ чыцIитIрэ къызэт. Абыхэм я пIэкIэ сэ мэкъу уэстынщ. Фалвар и лъэIур Тхьэм деж нэсырти, бзу къуэлэн цIыкIур цIыху теплъэм иригъэхьэжащ, уней Iэщхэм щыщу нысащIэр къызэригъэгугъа псори тыгъэ къыхуищIащ. Абы лъандэрэ дигор осетинхэм мэлрэ щолэхъушрэ зэрахуэ. А махуэ дыдэм ХьэтIохъущокъуэ ХьэтIохъущыкъуэ и малъхъэм Тхьэм зыхуигъазэри, дыгъэм и нэхур зытригъэпсэжа дунейм зыкъиужьыжати, мэкъуми зыри щIэупщIэжакъым. ХьэтIохъущокъуэ ХьэтIохъущыкъуэ и пхъумрэ Къуэгъулъкъу Къуэгъулъкъуэ хахуэм и къуэмрэ нобэми тхъэжу мэпсэу. ЗэзыдзэкIар ЧЭРИМ Марианнэщ. [1] Фалвар – Осетин IуэрыIуатэм щыщ, цIыхухэм ягъэса псэущхьэхэм я унафэр IэщIэлъщ. [2] Къуэгъулъкъу Къуэгъулъкъуэ – адыгэ лIакъуэлIэш (пщым хуагъадэ уэркъ). [3] ХьэтIохъущокъуэ ХьэтIохъущыкъуэ – адыгэпщ.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "osetin.txt" }
БыдапIэм и унафэщIым хъыбар зэрырагъащIэу, зимыгъэгувэу унафэ ищIащ адыгэхэм зыщагъэпщкIуа мэзым ебгъэрыкIуэну къэзакъ сэлэт щэ зыбжанэ яутIыпщыну. Модрейхэм шы лъэ макъхэмрэ Iэщэм и IэуэлъауэмкIэ къагурыIуащ къызэраухъуреихьар. ЗамыIэжьэу абыхэм унафэ пыухыкIа къащтэ: псэууэ бийм Iэрагъэхьэну хуэмей яшхэр зэбгъурагъэувэщ, псэ зыIут а блынымкIэ бгъэдыхьэпIэншэ защIри, езыхэр я щIыбагъ къыдэуващ. БлэукIа къахэмыкIыу, зэ уэгъуэм абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыми и шыр иукIыжащ, езыр хэкIуэда нэужь, бийм къыхуэмыщхьэпэн хуэдэу. ИтIанэ абдежым кърихьэлIахэм ящыщу псэууэ къэнахэм зэи ягу имыкIыжа зауэзэрылIым щIидзащ. БжыгъэкIэ зэхуэмыдэу яубла а зэбгъэрыкIуэныгъэм иужькIэ, шапсыгъ хыщIым я хьэдэхэр губгъуэм къинащ, я хъуреягъкIэ нэхъыбэжу къэзакъхэр, шыхэр, Iэщэ къутахуэхэр щылъу. Де Пинэ Эмануэль Я къуэш хэкIуэдахэм я хьэдэхэр адыгэхэм зауэ губгъуэм зэи къранэкъым. Дунейм ехыжа я Iыхьлыхэр хыфIадзэ нэхърэ, бийр къытекIуэмэ нэхъ къащтэу, хьэдэхэр иратыжыну лъэIуакIуэ урысхэм деж къокIуэ ахэр. Зэгуэрым Раевский генералым: «Сэ хэкIуэдахэм сезауэкъым»,- жиIэри яритыжат зи псэ зыта я лъэпкъэгъухэри, «Зауэм ухэкIуэдэну уи натIэмэ, ущIэзылъхьэжын уимыIэу Тхьэм укъимыгъанэкIэ» жаIэри фIыщIэ къыхуащIащ. Головин Иван Абазэхэхэр лъагъугъуафIэхэщ: я нэхъыбэр лъагэхэщ, къуданхэщ, плIабгъуэхэщ, бгырыпхым щIикъузэ я бгыр псыгъуэщ, уеблэмэ жьыхуегъэзэкI хъуахэми пшэру зы цIыху яхэту слъэгъуакъым. Я щхьэцыр кIэщIыбзэу щIащэ, иныкъуэхэм яупс. ЖьакIэхэр ящ, щIалэхэм – кIэщI дыдэу. НэхъыжьыIуэхэм нэхъ кIыхьу ягъэкI. Я нэкIу зэхэлъыкIэр гуакIуэщ, пэтIинэу закъуэтIакъуэххэщ яхэтыр. Нагъуэхэмрэ нащхъуэхэмрэ куэдщ, сырыхухэр мащIэ дыдэщ. Дьячков-Тарасов Александр Гугъущ зэ IуплъэгъуэкIэ къыбгурыIуэну зыхуеину псомкIи бийм ефIэкI, къыхуэтыншэу зэгъэпэща, унафэ пыухыкIам щIэт дзэм нобэрей текIуэныгъэм и Iэмал нэхъыщхьэ хъуа топымрэ мыжурэмрэ зимыIэ бгырысхэр апхуэдизу гуащIэрэ шыщхьэмыгъазэу къазэрыпэщIэтыфыр. НэхъапэкIэ и гугъу сщIащ адыгэхэм Iэщэр Iэзэу зэрагъэIэкIуэлъакIуэмрэ яхэлъ хахуагъымрэ. Хэлъхьэж абы къару лей ямыгъэкIуэду зэуапIэ тынш къызэрыхахыфымрэ бийм и щыуагъэ къэс асыхьэтым къызэрагъэсэбэпымрэ. Ахэр зэзэмызэххэщ тафэм е утыку зэIухам ит бийм щебгъэрыкIуэр. КъагъапцIэурэ зыбгъэдаша сэлэтхэр дзэм пэIэщIэ ящIа нэужь, текIуэныгъэр сыт щыгъуи адыгэхэращ зейр. Шууей IэзагъкIэ къэзакъхэр абыхэм зэи ялъэщIыхьэнукъым. Де Пинэ Эмануэль Шыр адыгэм и етIуанэ псэщ. Зы лъэныкъуэкIэ, адыгэм и шыр нэгъэсыпауэ зыхуей хуегъазэ, ауэ иригъащIэри уи нэгу къыпхущIэмыгъэхьэн защIэщ. Шыхэр зэрыцIыкIурэ зауэм щымышынэу, фоч уэ макъым имыгъащтэу, шууейм и макъыр къицIыхужу, и унафэм едаIуэу ягъасэ. Сыт щыгъуи укъегъэуIэбжь нетIэ зэхэзэрыхьауэ хъуакIуэу плъэгъуахэр напIэзыпIэм зейм къигъуэтыжарэ зауэ IэнатIэм Iухьэну хьэзыру къызэрагъэувым. ЗэрелIалIэшхуэ щымыIэу, псынщIэу уанэ зэрытралъхьэм, езыхэри зэрыIэкIуэлъакIуэм и фIыгъэкIэ, адыгэр европей шууейм елъытауэ, тIукIэ нэхъ псынщIэу мэшэс. Лапинский Теофил Нобэр къыздэсым дгъэунэхуахэм къагъэлъагъуэ бгырысхэм къыдащIылIэ зэраныгъэ псоми я шуудзэхэр тегъэщIапIэ зэрахуэхъур. Сэ къызэрыслъытэмкIэ, абы дыкъезыгъэлыну хэкIыпIэхэм я нэхъыфIыр апхуэдизыш зэрахуэну Iэмал едмытынырщ. Куэдыщэу зэраIэм къыхэкIыу, зэкIэ уасэшхуэ зимыIэ шыр зепхуэныр гугъу дыдэ ящытщIмэ, къызэрыдэбгъэрыкIуэ Iэмэпсымэ нэхъыщхьэр къаIэщIыдох. А мурадым дылъэIэсын папщIэ, яшхэр щагъэхъу губгъуэхэр зэрыщыту къэзакъ къуажэхэм егъэубыдыпхъэщ. Вельяминов Алексей Мы лъэпкъ щхьэмыгъазэр къалэшхуэхэм я псэукIэ ехьэжьам мащIэщ зэрыдихьэхыр, ахэр хьэпсу къалъытэу. «Си унэ лъахъшэр сэрейхэм я нэхъ беймкIи схъуэжынукъым, - жиIащ зы къэбэрдеипщ гуэрым. – Абы и блынхэр гъэщIэрэщIами, гум бэуапIэ щигъуэткъым, гъэрыпIэм ещхь и бжыхь щхьэдэхыпIэншэхэм псэри гупсысэри къыдамыгъэплъу щахуз. Си щхьэкIэ сыкъапщтэмэ, фи къэралыгъуэхэм я лъэщагъми я инагъми си унэ цIыкIур зэрыпэсщIын щыIэкъым». Де Сегюр Филипп Людовик ЩхьэгъэпцIэжт игъащIэ лъандэрэ щхьэхуиту къекIуэкIа, мелуан ныкъуэм нэблагъэ, IэщэкIэ узэдауэ бгъэдыхьэпIэ къозымыт щIыпIэхэм щыпсэу, езым бийуэ дыкъызэрилъытэм нэмыщI, Урысейм къеныкъуэкъухэм жаIэми щIэдэIуну Iэмал зиIэ лъэпкъ къыкIэрыхуам игу къытхуилъыр апхуэдэ зэман кIэщIым ебгъэхъуэжыфыну ущыгугъыныр. Кавказым ди Iуэху хэмылъу жызыIэ Инджылызми, зи хьэгъэщагъэхэр зымыух Тыркуми, адыгэхэм къащхьэщыжу Константинополь дэс франджы тетыгъуэ къудамэми зэманым дыщыгугъыну Iэмал къытхуагъанэтэкъым. Ростислав Фадеев Урысхэм я быдапIэхэр нэхъри нэхъ шынагъуэжу, Iуву зэхэту къращIэкIмэ, абыхэмкIэ Адыгэ хэкур ялъахъэфынущ. Ауэ игъащIэкIи къэбэрдей лъэпкъ пагэм, бжьыфIагърэ цIыхугъэкIэ Адыгейм и лъэпкъ хэIэтыкIахэм фIэкIа пхухуэмыгъэдэнум, абыхэм я щIопщым зыдигъэщхъынукъым. Зэ закъуэ нэхъ мыхъуми къэбэрдей хасэм екIуалIэу мы цIыху щапхъэ гуакIуащэр зи нэгу щIэкIам, ахэр дунейм щытепщэныр я натIэу и фIэщ нэхъ хъунщ, урысхэм я пщылI, нэгъуэщIу жыпIэмэ, пщылIхэм я пщылIыж хъун нэхърэ. Боденштедт Фридрих Пщыр пщыуэ къалъытэн папщIэ, и теплъэкIи лъагъугъуафIэу, нэхъыжьхэм пщIэ яхуищIу, къарууфIэу, хахуэу зэрыщытыр далъагъун хуейщ. А щэнхэр зыхэмылъым и лъэпкъэгъухэм я пащхьэ пщIэ къыщихьынуи зиузэщIыфынуи щремыгугъ. Бларамберг Иоганн Засс бийр гузэвэгъуэ и псэм телъу гъэпсэун хуейуэ къилъытэт. Абы и нэщэнэу, езым и унафэкIэ зэтригъэтхъуа ЩIытI Быдэм пэгъунэгъу Iуащхьэм гъущI бжэгъухэр щыхригъатIэри, абыхэм адыгэхэм я щхьэ пыупщIахэр фIригъэIуауэ фIигъэлът, я жьакIэхэр жьым щIихурыхукIыу. Уи гур къригъакIуэрт а теплъэгъуэ гущыкIыгъуэм. Зэгуэрым генералым Нарышкинэ-гуащэр и деж иригъэблэгъащ. Бзылъхугъэм къыхуиIуэхуащ, щхьэхэр фIебгъэхыжмэ, сынэкIуэнщ жиIэри. Засс абы и гукъыдэжыр игъэзащIэри, псори и унэм деблэгъащ. И пэшым сызэрыщIэбакъуэу, псэм къытегъуалъхьэ мэ Iей дыдэ гуэр къысщIихьащ. Абы гу лъызыта Засс дыхьэшхри, Iуэхур зыIутыр къыдгуригъэIуащ: щхьэхэр къыфIахыжыну унафэ зыхуищIахэм ахэр зыдэлъ пхъуантэр гъуэлъыпIэ лъабжьэм щIагъэувауэ ара къыщIэкIынщ. Пэж дыдэу, ар гъуэлъыпIэ лъабжьэм щIэIэбэри, пхъуантэ абрагъуэ къыщIилъэфащ, щхьэ зыбжанэ дэлъу, абджыпсым ещхь я нэ ижыхьахэм уи псэр Iуахыу. «Сыт мыхэр зэрыпщIынур?» - сеупщIащ генералым. «Согъавэ, согъэкъабзэри, анатомием елэжьу Берлин дэс си ныбжьэгъу профессор гуэрхэм яхузогъэхь»,- къызитащ абы жэуап. Лорер Николай Адрей адыгэ лъэпкъхэм я мызакъуэу, осетинхэми, шэшэнхэми я щапхъэщ Къэбэрдеишхуэр. Къэбэрдеипщхэмрэ уэркъхэмрэ шы тесыкIэкIэ, хахуагъкIэ, зыхуэпэкIэ екIукIэ, цIыху хэхьэкIэкIэ ахэр зрагъэхъуапсэ икIи зыдрагъэплъей. Адыгэ лъэпкъ псоми я Iуэху зехьэкIэ хъуащ къэбэрдей адыгэхэм я уэркъ хабзэр. «Сыт хуэдэу зэрыщытар а пасэрей адыгэ уэркъ хабзэр?» - жыпIэу ущIэупщIэмэ, жэуапу зэхэпхыр псалъитIщ: «Нэмэзрэ зэуэнрэ». НэгъуэщIу жыпIэмэ, уэркъыгъэрэ Тхьэм фIэлIыкIыныгъэрэ. Сталь Карл Адыгэхэм мыувыIэу Щамил зым и ужьым зыр иту тхыгъэхэр къыхурагъэхьт, я деж кIуэуэ я гъусэу бийм пэщIэувэну лъаIуэхэу. Iимамым хъыбару къыхуахьт ахэр хабзэ зыхэлъ, захуагъэм тет лъэпкъ зэкIэлъыкIуэу зэрыщытыр. Арати, I262 (I846) гъэм мыин дыдэу топибл, абыхэм яхуэфэщэн шэ, лъэсыдзэми шуудзэми бийм теуэну шынэни езыр къатеуэмэ икIуэтыни зыри яхэмыту здыщIигъури ежьащ. Тэрч зэпрыкIмэ, Iимамым, абдежым къыщыувыIэу, щытхъушхуэ зиIэ адыгэхэм я щэныфIагъыр игъэунэхуну и мурадт. АрщхьэкIэ я щIыр зэрыджафэр, зыщагъэпщкIуфын мэзи къуакIэ-бгыкIи зэрамыIэр илъагъури, зэрыкIуам хущIегъуэжащ. И къэувыIэпIэр Къэбэрдей тафэрат. Адыгэ лIыкIуэхэр зым и ужьым адрейр иту гуп-гупхэурэ къакIуэхэт. Я унагъуэхэри мэзхэм ягъэIэпхъуат. Iимамым езы лъэпкъым къыхишри нэIибхэр ящхьэщигъэувэжащ. Къарахий Мухьэммэд ТIахьир Къэбэрдейхэм апхуэдизкIэ щэхуу икIи Iэзэу яхуэбзыщIат Щамил къызэрыкIуэри, ар къызэрысу псоми зыкъызэрызаIэтынури, уеблэмэ езы Голицын джыназым екIуэкIым зыри хищIыкIтэкъым. А Iуэхум фIыуэ хэлэжьыхьащ къэбэрдей адыгэ Анзорхэ я къуэ Мухьэмэтмырзэ. Абы и къуэш Хьэту зи щIыхьыр ин пащтыхьым и шуудзэм дзэпщу хэтащ, езы Мухьэмэтмырзи офицерт. Урысейм я гур зэрахуэкъабзэр пащтыхьым и фIэщ ящIыну илъэс блэкIам Бытырбыху кIуа адыгэ лIыкIуэхэм язт ар. Анзорхэ я къуэм езы пащтыхьым и IэкIэ къыIэщIилъхьат къэбэрдей лъэпкъым и ныпыр. А зэманым Мухьэмэтмырзэ Налшык дэт Кавказ гъунапкъэм и тетым деж къулыкъу щищIэт. ХьэщIэхуэфI Голицын джыназым и унагъуэ гуапэ дыдэм Анзорыр фIыуэ къыщалъагъут икIи щыхэгъэрейт. БжьыфIэу, губзыгъэу, IэкIуэлъакIуэу щыт а щIалэр зэ Iуплъэгъуэм уигу дэхьэти, уи дзыхьри ихьэхут. Къэбэрдейм и нэхъыщхьэм бгъэдэту зэрылажьэм абы Iэмал къритт пащтыхьыгъуэм щызекIуэ унафэхэми, дзэр здэкIуэ-къыздикIыжми щыгъуазэу щытыну. И пщэрылъым и фIыгъэкIэ, Щамил и къыхуеджэныгъэр здынэсари, цIыхухэр абы зэрыхущытри ищIэт. Iуэхур къыщыхъуа пщыхьэщхьэ дыдэм, I846 гъэм мэлыжьыхьым и I8-м, Анзорхэ я къуэр мамыру Голицын джыназым куэзыр дэджэгуу щыст, зыгуэр къыIухьэу къыщеджам. Къыдэджэгухэр къигъанэри, щIалэр къыщIэкIащ, афIэкIаи къигъэзэжакъым. ИужькIэ къызэрыщIэкIамкIэ, дакъикъэ зыбжанэ дэкIыу Голицыным зи хъыбар кърагъэщIа, Налшык пэмыжыжьэу щыт адыгэ къуажэм къыщыувыIауэ лъэпкъым иригъэблагъэ Щамил деж занщIэу шэсри кIуат ар. Беклемишев Николай Кавказым къыщалъхуам и дежкIэ муслъымэныгъэр хэкулI динщ. Ар я хуитыныгъэм и дамыгъэщ икIи и ныпщ, бгырысым гъащIэр фIэIэфI зыщI псори къызэщIиубыдэу. Диным апхуэдэ политикэ уасэ зэрыхуагъэувымкIэ ди телъхьэхэри къыдэзауэхэри, Тхьэр зи фIэщ хъухэри мыхъухэри зэтохуэ. Кавказ псом и кIуэцIкIэ бгырыс-муслъымэныр щыхэгъэрейщ, дэнэ щымыIэми, пщIэрэ дзыхьрэ къыхуащIу; мымуслъымэныр – цIыху мыхьэнэншэщ, Iэхъуэхэмыхьэщ, пщылIщ. I858 гъ; «Чыристан диным Кавказым зыщиубгъун папщIэ Барятинский Александр къыхилъхьа жэрдэмым и жэуап» Куэдым къафIощI зы муслъымэн лъэпкъыр адрейм едутIыпщмэ, лъэпкъхэр зэрылъагъу мыхъуу тхуэщIыну. Сэ ар щыуагъэу къызолъытэ. Сыт хуэдизрэ къумыкъухэр шэшэнхэм, шэшэнхэр къэбэрдейхэм, къэбэрдейхэр псыжь адрыщIкIэ щыпсэухэм, псыжь адрыщI нэгъуейхэр абэзэхэхэмрэ шапсыгъхэмрэ едгъэзэуа, арщхьэкIэ абы щхьэкIэ нэхъ жагъуэу зэрылъагъу хъуакъым ахэр. Iэмал закъуэ къызэрагъуэту, лъэпкъ къэс зыр адрейм дэIэпыкъуну хьэзырщ, ди тепщэныгъэр зыщхьэщагъэкIын папщIэ. Гужьгъэжь зыхуаIэр цIыху лIэужьыгъуэ гуэркъым, атIэ ахэр ди унафэм къыщIэмыувэу зэрымыхъунур къызыгурыIуауэ дэ къыддэIэпыкъу нэрыбгэ щхьэхуэхэрщ. Апхуэдэт, псалъэм папщIэ, генерал-майор Бекович-Черкасскэр. Дэ тщыщ гуэр яукI нэхърэ, бгырысхэр нэхъ хуэпабгъэт ар яIэрыхьэным. Вельяминов Алексей Адыгэ псоми хуэдэу, абазэхэхэм я деж гъэсэныгъэм и мыхьэнэр щыабрагъуэщ. ЩIалэ цIыкIухэр пасэ зэманым егъэлеяуэ ткIийуэ яIыгът, зауэлI щхьэмыгъазэ, унагъуэ зезыхьэфын лIы, зэхуэдэныгъэр щытепщэ Абазэхэ къэралым хуэфащэу, зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыж хэкулI щхьэхуит къыхэкIын папщIэ. Дьячков-Тарасов Александр Кавказым и тхыдэмрэ зауэр зэриухыну щIыкIэмрэ зэлъыта зы Iуэхушхуэ иджыри къэхъуащ I848 гъэм. Ипщэ-КъухьэпIэ Кавказым щыщ адыгэ лъэпкъхэм яз абазэхэхэм Щамил и деж лIыкIуэ гуп къагъэкIуащ. Ахэр лъаIуэрт я лъэпкъхэр шэрихьэтым тришэу зыкъуэзыгъэувэфын нэIиб яхуигъэкIуэну. ХьэщIэхэм Щамил хагъэзыхьт, нэIибыншэу ягъэзэжын ямыдэу: «Псори ахърэтым дыкIуэжа нэужь, ди ЛIыкIуэ лъапIэм IэплIэешэкIкIэ жэнэтым ущришэкIэ, дэ, абазэхэхэм, уи цеикIэр дубыдынурэ уидгъэхьэнукъым: ди лъэIухэм я хьэтыр илъэгъуакъым, гузэвэгъуэм ди закъуэу дыкъыхинащи, жэнэтым ихьэну хуэфащэкъым, жетIэнущ Бегъымбар лъапIэм». Казиев Шапи Щамил Абазэхэ щIыналъэм къикIыурэ тхыгъэ щэхухэр къыIэрыхьэт. Адыгэхэр лъаIуэт Iимамым цIыху зэзыгъэдэIуэфын, дзыхь зыхуэпщI хъун, я Iуэху зэтезыгъэувэн унафэщI яхуигъэкIуэну. Апхуэдэу щыхъум, Iимамым Iуэхур зэхуэсым и пащхьэ ирилъхьэри яхэупщIыхьащ, хэт апхуэдэпщIэ нэхъ хуэфащэ жиIэри. Дэтхэнэ зыми езым и нэфI зыщыхуа ныбжьэгъу гуэр, адыгэхэм я деж кIуэну имыжагъуэу къигъэлъагъуэт. Мухьэммэд-Iэмин абдеж дыдэм тхэуэ щыст. Щамил арат игъэкIуэну зыхуейр, унафэ IэщIэплъхьэ зэрыхъунур ищIэти. Ар къыщыхилъхьэм, Iимамым и тхылъымпIэзехьэ, Чиркей щыщ Iэмырхъан щIэупщIащ: «Сыт Мухьэммэд-Iэмин абазэхэ цIыхубэм яхуищIэфынур? Ар хьалимщ икIи мурид псэ къабзэщ, ауэ зэуэным нэхърэ щIэныгъэм нэхъ хуэгъэпсащ». Абдежым си адэм (Гъазий-Къумыхъу Джэмалуддин) жиIащ: «Аращ езыр бгъэкIуэну нэхъ къезэгъыр, сыту жыпIэмэ, фIэщхъуныгъэ куу бгъэдэлъщи, Алыхьталэм и псалъэр игъэпудынукъым, и щэныфIагъри ефIэкIуэнущ». Щамилрэ си адэмрэ я акъыл зэтехуэри, Iимамым Мухьэммэд-Iэмин игъэкIуащ. Псори зэрыщыгъуазэщи, абы къехъулIащ адыгэхэм я Iуэху зэтегъэувэныр, ауэ гугъуехьу къытехуари абрагъуэт. Гъазий-Къумыхъу Абдурэхьман Дзэпщым укъыфIэкIмэ, нэ псори зытеплъызэр Щамил и лIыкIуэ Мухьэммэд-Iэмин нэIибу цIыху телъыджэрт. Бгырыс муслъымэнхэм къызэдащта дыкIэм тет цей хужьырт абы щыгъыну зэрихьэр; и адыгэ пыIэм чэсей хужь ешыхьэкIат. АрщхьэкIэ апхуэдэ шыфэлIыфэ къызэрыкIуэм Тхьэр фIы куэдкIэ зыхуэупса нэрыбгэ къыкъуэщт. Зи гугъу тщIы лъэхъэнэм Мухьэммэд-Iэминым и къару илъыгъуэт, илъэс плIыщIрэ ирэ хъуми арат. Лъагэрэ Iэчлъэчу зэрыщытым абы и нэкIу зэхэлъыкIэм Цезарь Юлий и теплъэр уигу къигъэкIыжу зыгуэр хэлът, тIэкIу нэхъ пхъашафэ къыщIэлъадэу. И нэхэмрэ и Iупэхэмрэ и хьэлым и сурэт IупщIт. Къашыргъэм ейм ещхьу жыжьэ кIуэцIрыплъ и нэ зэхэлъхэр лыдт. Ауэ быдэу зэтекъуза и IупитIым имыкIуэтын хьэлрэ хахуагърэ къагъэлъагъуэт, шыни гугъуехьи ар къэзыгъэувыIэн зэрыщымыIэр уи фIэщ ящIу. Сурэтыр нэдгъэсын папщIэ, жыIапхъэщ мы цIыху къызэрымыкIуэр нэхъыбэм зэрыщымыр: къаруушхуэ ухуейт абы зы псалъэ закъуэ къыжьэдэпшын щхьэкIэ. И плъэкIэми а шыIэныгъэ дыдэр хэлът: зэпсалъэм и нэр зэи триубыдэтэкъым: ихъуреягъым цIыхухэр щызэрызехьэт, щыIэуэлъауэт, езыр, и напIэр къимыIэту, тхылъ еджэрт е апхуэдэфэ зытригъауэт. БзиплI е тху ищIэ пэтми, тэрмэш къигъэсэбэп зэпытт. Ауэ зэрызигъэхъейуэ, псоми зихъуэжт. Абдежым Мухьэммэд-Iэмин и нэщыпхъуэр зытридзти, къэпцIыхуну, игу илъыр къэпщIэну и чэзут. ХэкIыпIэу плъагъур зыт: е узэмыплъэкIыжу уедэIуэн, е укIуэдын. Ди зэманым нэхъ цIыхушхуэ дыдэу хэта Мухьэммэд-Iэмин хуэдэ нэрыбгэ щэджащэ фэзгъэцIыхун мурадкIэщ абы и сурэтыр фи нэгу къыщIэзгъэхьэну сыщIыхэтыр. Щыгъуазэр мащIэми, абы хуэдэу цIэрыIуэ, гулъытэрэ пщIэ хэIэтыкIарэ къэзылэжьа куэд щыIакъым. Адыгэ щIыналъэм Щамил игъэкIуа и нэIибым и IуэхущIафэхэр гъуэзэджэт, къалэн къытехуамрэ ар зэригъэзэщIа щIыкIэмрэ IуэрыIуатэм хуэдэу телъыджэу. Уэсмэн-бей, I855 гъ; Тырку дзэпщ МустIэфа пэщэм и шу гъусэ, майор КъухьэпIэ адыгэхэр езы Урысейр къызэрыунэхурэ лIэщIыгъуэ бжыгъэу блэкIам нэхърэ нэхъыбэкIэ щхьэхуиту псэуахэщ. Иджыри пасэрей алыджхэм я деж ущрохьэлIэ «керкезхэм», адыгэ-шэрджэсхэм, ятеухуа хъыбархэм. Абы лъандэрэ дэкIа илъэс мин бжыгъэхэм я кIыхьагъкIэ адыгэхэм зэрыпхъуакIуэ куэд къебгъэрыкIуащ, ауэ тIэкIу ягъэпIейтея фIэкIа, я хуитыныгъэр IэщIахыфакъым. А псом ищIыIу бийр Хэкум къизэрыхьми, куэд дэмыкIыу зэрикIыжыр, езы адыгэхэр зэрыхуейм хуэдэу ящI щыпсэужу, ягу къызэрихьэ щIыкIэу я Iуэху щыдагъэкIыжу щIыналъэр къазэрыхуэнэр ялъагъу зэпыту псэуахэщ. Абыхэми яIащ зэщIэхъееныгъэ инхэр, псалъэм папщIэ, шапсыгъхэм япщхэр трахури, нэгъэсыпауэ демократие зэхэтыкIэ яухуауэ щытащ. АрщхьэкIэ ар езыхэм я гукъыдэжкIэ къэхъуа Iуэхут. Хамэ унафэ, уеблэмэ диным тепщэ лъапIэу къахуигъэув тырку сулътIаным къыбгъэдэкIри хиубыдэу, адыгэхэм зэи къабыл ящIакъым. Урысейм и гугъу пщIымэ, гущIэгъум хуэхей дыдэ къару шынагъуэкIэ фIэкIа ар адыгэм зэрыпэлъэщын Iэмал щыIэтэкъым. Тихомиров Лев Дауэ, гущэ, мы зауэм кIэ зэреттынур? Асыхьэтым идгъэкIуэта къуажэхэм напIэзыпIэм зыкъаIэтыж, урысхэр зэрыдэкIыу, муридхэр къыдохьэ. Урыс дзэпщхэм къызэралъытэмкIэ, зы цIыху къэмынэу зэтумыукIауэ, увыIэнухэкъым. Урыс тепщэгъуэм зигъэгущабэу а Iэмалыр зэи игъэдурысакъым, ауэ щыхъукIэ, увыIэгъуэ зимыIэ зауэм и лъыгъажэ мыкIуэщIым хэпщIыкI къудейуэщ ар зэригъэнэщхъейр. Головин Иван Адыгэ шуудзэ гъуэзэджэр урысхэм напIэзыпIэм къатеуэт, бгы задэхэм псынщIэу зыщигъэпщкIужти, я бжыгъэм хэхъуарэ нэхъри нэхъ шынагъуэжу къыкъуэкIыжхэт. Зыгъэпсэху ямыIэу гъунапкъэм къебгъэрыкIуэ шууейхэм Iэщрэ цIыхукIэ бийм хэщIыныгъэшхуэ иратащ. Скасси Рафаэль КъухьэпIэ Кавказымрэ КъуэкIыпIэмрэ зэтемыхуэу зыгуэркIэ зэщхьэщыкIт: тенджыз Iуфэм Iус адыгэхэр я щIыналъэ исыжу зэи Урысейм ей дыдэ хъуфынутэкъым. Зауэ кIыхьлIыхь, лъыгъажэр щыкуэдрэ мылъкушхуи тфIихьу едмыгъэкIуэкIыу хъуакъым, Псыжь адрыщI щыпсэухэр урыс унафэм щIэдгъэувэн папщIэ, тенджыз ФIыцIэ лъэныкъуэмкIэ зы фочауэ макъ къызэриIукIыу, зыкъаIэту апхуэдизрэ дызэлIэлIар тIэщIэкIыжыну пIэрэ жытIэу иужькIэ дымыгузэвэжын хуэдэу. Адыгэхэр аслъэн ныкъуэлIэм ещхьщ. ХущIыхьэр абыхэм я гущIыIум итщ. ЩIаукIами зыукIами щIэмыупщIэжхэу зэрагъэкIуэдым нэмыщIыж, ираудых, яубэрэжь, къалъыс щIыр къытрах, пудыныгъэ куэд яшэч. Адыгэхэр Iэщэ яIыгъыну зэрыхуитымытым къыхэкIыу, я щхьэ трагъэужын папщIэ, бгырысыр теIущIыкIыпIэ зыщI къэзакъхэр мащIэкъым. Напэр ящыгъупщэжауэ ящIхэр зэзыпхъуэ къэзакъхэм нэмыщI, дзэм хэт сэлэтхэм я мэкъур паупщI. Фадеев Ростислав Дагъыстэныр бийр зэтумыукIэуи къэбубыд хъунути, Барятинский джыназым лезгинхэр псэууэ къигъэнащ: дзэпщыр абыхэм я дежкIэ зэрыпхъуакIуэт, ауэ цIыхуукIтэкъым. Ауэ адыгэ лъэпкъхэм ехьэлIауэ Евдокимовыр зэрызахуэр абы IупщIу къилъэгъуащ: тIум яз дыхэмыкIуадэу дызэзэгъынкIэ Iэмал иIэтэкъым: е дэ, е ахэр. Арамэ, нтIэ, ахэр хрекIуадэ, дэ абыхэм я пIэ дитIысхьэнщ. Ауэ лъэпкъ псо зэтебукIэныр «цIыхугъэр къызыфIэмыIуэхужым» и Iэужьщ, Кромвель, Наполеон сымэ хуэдэхэр игъэдзыхэнкIи хъуну. ИтIани, нэгъуэщI Iэмал щимылъагъужым, Iуэхур нэзыгъэсам, Кавказ Ищхъэрэр къэзызэуам и тажыр къыщхьэрагъэсын папщIэ, Барятинскэм унафэ къищтащ: ирехъу апхуэдэу. Тихомиров Лев ДэнэкIэ замыгъазэми, кърахужьэжурэ сэлэтхэр зэбгъэрыкIуэ адыгэхэм афIэкIа здэкIуэн къахуэгъуэтыжтэкъым, я унагъуэхэмрэ я Iэщымрэ тыншыпIэ гуэр иратын папщIэ. Къуршхэм ахэр къахъумэжыфыртэкъым, хамэ зыдэмыкIыфыну къафIэщIа щIыпIэхэм иджы урысхэр кIуэцIрыкIырт, ерыскъырэ IэщэфащэкIэ узэдахэу, топхэр нэгъунэ яIыгъыу. Иджы адыгэхэм мэзхэм я IувыпIэм зыщагъэпщкIурт, бийм кърагъэлыну къафIэщI тIэкIур яIыгъыуи, иджыри къэс къамыгъэлъэгъуа гуащIагъыр яхэлъу бгъэдыхьэпIэхэр яхъумэрт. Ахэр щикIуэтыр сэлэтхэр мыжурэр ягъэпIийуэ щебгъэрыкIуэм дежт. ИтIани лъэбакъуитI-щыкIэ IукIуэтхэрт, я фочхэр яузэдыжырти, урысхэм я щIыналъэр бжьиз зырызу къытрахыжын я мурад хуэдэ, аргуэру къежьэжхэрт. Де Пинэ Эмануэль Мы цIыху зэтегъэлIэныр – нэгъуэщI псалъэ къысхуэгъуэткъым – илъэсиплI хуэдизкIэ екIуэкIащ, и гуащIэгъуэр I863 гъэм хуэзауэ. Адыгэхэм яшэчар нэгум къыпхущIэгъэхьэнукъым. Сэлэтхэм яIэщIэкIын папщIэ, екIуэлIапIэншэрэ дзэкъэгъуэ яIумыхуэу, я щхьэ зэрахьэу апхуэдэт, уаер градус тIощI щыхъуми, ахэр щIымахуэм IэпцIэлъапцIэт. ЩIымахуэхэри егъэлеяуэ щIыIэт, хэплъыхьу а илъэсхэм хухахам хуэдэу. Гъэмахуэм уз зэрыцIалэхэр къахыхьэу хуежьащ, псом хуэмыдэу – хуабэуз. Унагъуэхэр зэкIэрыхурт, адэ-анэхэм я сабийхэр яфIэкIуэдт. Псэущхьэхэм къратхъуа гъуэмбхэм илъу, щIыбым дэлъу хэкIт я псэхэр. Уеблэмэ цIыхул щашх ирихьэлIауэ жаIэж. Си нэгум щIэкIауэщ бгырысхэр я щIыналъэм зэрырахуар зэрысIуэтэжыр. Ахэр зэрырахужьам и хъыбар Новороссийск щынэсам, ЦIэмэз кхъухь тедзапIэм и хъуреягъкIэ екIуэкI бгыхэм къуажэ ягъэсхэм къащхьэщих Iугъуэ фIыцIэр ящхьэщытт, жэщ къэс мафIэсхэр дэнэкIи къыщылыду. Апхуэдиз цIыху щыпсэууэ тщIэххакъым ди къуршхэм. КъуэкIий щIагъуэ къэмынэу Iугъуэмрэ мафIэмрэ зэщIащтат. Псэр Iузых а сурэт шынагъуэр ди нэгум зы мазэ хуэдизынкIэ щIэкIакъым. Тихомиров Лев Я псэукIэр зэрызэтекъутам нэмыщI, Псыжь адрыщIкIэ ис адыгэхэм иужьрей зэманым я псэм апхуэдизкIэ хьэзабышхуэ ишэчащи, зыкъызэраIэтыжын къару ябгъэдэлъыжкъым. Урысейм и IэмыщIэм сабийм хуэдэу ихуащ ахэр. ЖаIэуи яIуатэуи зэхамыха гъэкIуэдыкIэм я зэхэщIыкIыр апхуэдизкIэ игъэутхъуащи, сыт ирамыщIэми - зыри ягъэщIэгъуэжынукъым. Гугъуехь мащIэ дыдэр ящхьэщыпхмэ, ебгъэхъулIауэ къащыхъунущ. Плъагъур уи фIэщ хъукъым: плъыру щыт дзэ сатырищым къимыкIуэту мазэ зыбжанэ и пэкIэ къызэпрыкIыу щыта адыгэр иджы, и щIыналъэ зэрисыжым хуэдэу, мы мэз Iувым япэу къыщыхуэзэ къуажэдэсым зыпыIуедз, щIалэжь цIыкIум зыкъытришащIэмэ, зримгъэуэн мэшынэ. Урыс империем зэрытемыкIуэнур къагурыIуауэ, ауэ урыс къэралыгъуэм къарит хуитыныгъэхэр зыхамыщIэу, адыгэхэм къахуиухар ягу трагъахуэ; кIэ имыIэу зэрыдакъузэри, гъунэгъу къэзакъхэм кърах лейри, дэтхэнэ хамэри къызэрытегушхуэри икIуэтыпауэ яшэч. Фадеев Ростислав Бгырысхэр езыр-езыру иIэпхъукIын гукъыдэж къызыкъуахыным сыт и лъэныкъуэкIи ирахулIэт. Ар и мураду Евдокимовым сом минищэ къыхуаутIыпщыну лъэIуащ, езыхэр хуейуэ иIэпхъукI унагъуэхэм яритыну. ГурыIуэгъуэт а ахъшэ мащIэр унагъуэ куэдым зэраримыкъунур. Ауэ Евдокимовым игъэIуну хуей къудейуэ арат апхуэдэ тыгъэхэр зэрыхагъэкIыр, абы щигъэгугъыу нэхъ псынщIэу я лъапсэр яригъэбгынэн папщIэ. Ауэ Iэмалым я нэхъ ину къанэр хэзыгъэзыхь къару зэфэзэщырт. ЗэрыжысIащи, къызэремылынур ящIэ пэтми, адыгэхэр зэгухьэурэ зауэхэт. Ауэ дэнэкIи щыщызэтраукIэм, хуэм-хуэмурэ я гур яфIэкIуэдыпэри, я щхьэ яхъумэжыныр щагъэтыпащ. Тынштэкъым зэуэ зыпIэту уежьэныр, кIуапIэри жапIэри къыпхузыфIэмыгъэщIу. Ауэ гупсысапIи къраттэкъым абыхэм. Лъэныкъуэ псомкIи дзэ гупхэр яутIыпщат, абыхэм загуэшыжурэ Iэгъуэблагъэр къызэхакIухьт: къуажэ, унэ, е пщыIэ гуэрхэм зыщаудыгъуауэ щIэмысу пIэрэ адыгэ ирахужьахэр жаIэу къалъыхъуэу. Апхуэдэ къуажэхэр, унэхэр, пщыIэхэр зыри къыхэмынэжыху ягъэст, щIэлъыр къуентхъыу зэщIакъуэт, щIэсахэр – цIыхухъуи, бзылъхугъи, сабии – я нэр здэплъэмкIэ кIуэну зэбграхут. Гужьеяхэм е мэзхэм, е иджыри зэтрамыкъутэпа къуажэхэм зыщагъэпщкIут. Ауэ лъапсэрых къарур нэхъри нэхъ жыжьэ Iэбэурэ я зыгъэпщкIупIэхэми нэст. Гуп екIуэлIапIэншэхэр бжыгъэкIэ багъуэурэ къухьэпIэмкIэ жэхэрт, гущIэгъу зимыIэ жыхапхъэми ахэр еуэ-еуэу зэхуитхъусурэ ирипхъэнкIыкIт, Кавказ щхьэдэхыпIэм зэприхути тенджыз ФIыцIэ Iуфэм деж Iэтэшхуэурэ щызэтритхъуэт. Тихомиров Лев Адыгэхэм уи нэгум къыпхуэщIэмыгъэхьэн хахуагъ къагъэлъэгъуащ. Урыс мыжурэхэмрэ топышэхэмрэ дэнэкIи къащыпежьэу, тIощIым щIигъурэ къытрагъэзэжурэ ахэр урысхэм къебгъэрыкIуахэщ. «УхэкIуадэмэ нэхъыфIщ, бийм уи къуэшым и хьэдэр къыхуэбгъанэ нэхърэ»,- жызыIа Мухьэммэд лIыкIуэм и уэсятым хуэпэжу, ахэр урысхэм я топ гъэувыпIэхэм нэс къыкIуэцIрыкIхэт, зауэзэрылI гужьеигъуэм щыхэкIуэдахэр къалъыхъуэжу. Зауэ губгъуэм къинар жэнэткIэ къэзыгъэгугъэ диным ерыщу зэрыбгъэдэтхэращ мы зауэлI лъэпкъхэм дащIыпэмылъэщыр. Зэхэуэ гуащIэхэм ущыхэплъэкIэ, къарууэ къыхуэнэжар зэхилъхьэжу, и сэшхуэр зытрикъута урыс ныкъуэлIэм и хьэдэм и гъусэу щIым техуэн хуэдэу, зи бгъэгум мыжурэ кIуэцIрыкIа адыгэр бийм ебгъэрыкIуэу зэкъым-тIэукъым узэрырихьэлIэр. Де Пинэ Эмануэль Ди нэгум къыщIэува сурэтыр гукъутэт: хьэхэм ныкъуэшх ящIауэ адэ-модэкIэ щызэбгрыдза сабий, бзылъхугъэ, лIыжь-фызыжь хьэдэхэр. ИIэпхъукIхэр, мэжалIэмрэ узымрэ я фэр ирихарэ я лъэр яхузэблэмыхыжу, зыкъызэраIэту ехуэхыжхэти, зэрыпсэууэ хьэ мэжэщIалIэхэм къаIэрыхьэт. Дроздов Иван Я Хэкум иIэпхъукIхэр мелуаным щIигъут. Апхуэдиз цIыху зэрыхуэн кхъухь къэгъуэтыгъуафIэтэкъым, арати, я щIыпIэм ираху сыхьэт мыгъуэ гупыр я ежьэгъуэм пэплъэу мазэ бжыгъэкIэрэ тенджыз Iуфэм щыIус къэхъурт. Iэпхъуэхэм «закъыщIэзыгъакъуэ» хьэрычэтыщIэхэм я кхъуафэхэм итIысхьэн папщIэ, бгырысхэм ахъшэшхуэ ятын хуей хъут, модрейхэми кIадэм бдзэжьей ираубэ фIэкIа умыщIэну, ахэр кхъуафэхэм иракуэт. Хуабэузым е нэгъуэщIым и зэранкIэ, цIыху бжыгъэншэхэр бадзэхэм хуэдэу зэтелIэт. Тихомиров Лев Бгырысхэр гъэIэса зэрыхъун Iэмал нэхъ зэпэщу Вельяминовым илъытэр гъаблэрати, тенджызым къызэпрашу зыри къаIэрымыхьэн хуэдэу, Iуфэм Iэнэпэрэ Гагрэрэ я зэхуаку дэт кхъухьхэмрэ дзэ щхьэхуэрэ Iугъэувэн хуейт, адыгэхэр мэжэщIалIагъэм иубыдын хуэдэу. А къарухэм, япэрауэ, я къалэнт урыс къуажэхэм нэхъ щIы пшэрхэр ирагъэубыду, бгырысхэр ящIхэм щызэхагъэкIуэтэныр. ЕтIуанэу - тепщэгъуэм и унафэрэ и арэзыныгъэрэ хэмылъу зыхуей-зыхуэныкъуэ зыри къаIэрымыхьэн папщIэ, ахэр щIыналъэм и адрыщIкIэ зыми ялъэмыIэсу щIын хуейт. Короленкэ Прокопий Адыгэхэр, шэч хэмылъу, хуитщ урысхэр ялъагъу мыхъуну. КъухьэпIэ Кавказым ещхьу, лъэпкъ псо щызэтраукIа щIыпIэ куэд тхыдэм дигу къигъэкIыжкъым. Гугъущ къэпщIэжыну тенджыз ФIыцIэм щегъэжьауэ Лабэ нэс бгырысу исам я бжыгъэр здынэс дыдэу щытар. Абыхэм ящыщу къэнар дыдей къэIэпхъуэжа минищэ къудейрщ. Мин щитхум щIигъу Тыркум кIуащ, я нэхъыбэр гъуэгум тету кхъухьхэм илIыхьащ е Тыркум нэса нэужь дунейм ехыжащ. Ирахужьа нэужь, ди деж щекIуэкIа зэхэуэхэм, узым, мэжэщIалIагъэм, тенджыз Iуфэм нэсауэ е нэмысу, кхъухьым итIысхьэным пэплъэу хэкIуэдахэр минищэм щIегъу… ДахагъкIэ узытхьэкъу щIыналъэ берычэтышхуэм илъэс мин бжыгъэкIэ щыпсэуа лъэпкъыр зэрыщыту апхуэдэ щIыкIэкIэ «ирагъэкъэбзыкIащ». Тихомиров Лев Константинополь дызышэн хуей кхъухьыр сыхьэткIэ гувэти, адыгэ тхьэмыщкIэхэм деплъыну дыкIуащ псори. Ахэр зэрыт щытыкIэ хьэлъэмрэ яшэч бэлыхьымрэ ди нэпсхэр къыщIихуащ. Щхьэж хузэфIэкI зэхэтлъхьэри ерыскъы яхуедгъэхьащ. Анэхэм, адэхэм я бынхэр IэплIэкIэ къыдбгъэдахьэурэ къыджаIэт: «КхъыIэ, мыр фщэху. Щэху цIыкIущ, фигъэбэмпIэнукъым, псынщIэу къывэсэнщи, сытри къыфхуищIэнщ. КхъыIэ, зиусхьэн, щэху!» Ар гур зыкъутэ теплъэгъуэт. Уэ зи сабийхэр къыдэзыгъэщэхуну хэт анэ тхьэмыщкIэхэ! Дауи, ахэр гу быдэщ жыпIэу пхуэгъэкъуэншэнукъым. Сабийхэр ящэмэ, мы ирахужьа тхьэмыщкIэхэм гъащIэ къыхуащэхуу арат, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абыхэм фIыуэ ящIэрт езыхэм къызыхуагъанэмэ, ахэр мэжэщIалIагъэм, е щIыIэм, е къарууншагъэм зэрилIыкIынур. Я щхьэр къазэрыфIэмыIуэхуж гурыщIэрат ахэр зезыхуэр. Зы тырку бей ди гъусэт: а теплъэгъуэ гузэвэгъуэр и гум хуэмыхьу къэгумэхащ. И бохъшэр зэтрихщ, ахъшэр ибжри Iыхьитху ирищIыкIащ. ИтIанэ нэхъ гъур цIыкIухэу, щыгъыныджэу яхэт сабийхэр къахишри, я адэ-анэхэм уасэр яритащ. «Фымыгузавэ, сэ абыхэм псэ къахыхьэжын хуэдэу сакIэлъыплъынщ. Нобэ щыщIэдзауэ сэ ахэр си быну собж»,- яжриIат абы. Адэ-анэхэм абы и лъабжьэм зыщIадзащ фIыщIэ хуащIу. ГуфIэщауэ я бынхэр зыкIэракъузэт, щэхуу жраIэу: «АфIэкIа фымыгъ, иджы фшхыни щыфтIэгъэни фиIэнущ, мы щIы пцIанэм фытелъу фылIэнукъым». Ауэ щыхъукIэ, сабий зи гъусэ адрей адэ-анэхэр я бынхэм нэщхъейуэ еплъхэрт: «Фэ фшхыни щыфтIэгъэни фымыгъуэту фылIэну къыщIэкIынщ»,- жраIэ хуэдэ. ЩIыIэмрэ мэжэщIалIагъэмрэ я фэр пихуауэ, адыгэ тхьэмыщкIэхэу щIы пцIанэм телъхэр; гъуэгум къащытепсыха гугъуехьыр зыхуэмыгъэву дунейм ехыжа сабийхэр; абыхэм я мащэ къатIагъащIэхэр; я псэр хэкIын и пэ слъагъугъа иджыри нэгъуэщI куэдыр; анэ тхьэмыщкIэ зи сабийр щIыIэмрэ гъаблэмрэ щызымыхъумэфхэр зэрыт сурэт гужьеигъуэр – а псори си нэгу щIэмыкIамэ, сэри жысIэнкIи хъунт мы адэ-анэхэр гущIэгъуншэу. Ауэ слъэгъуа нэужь жызоIэ, абыхэм ящIэр адэкIэ кIуапIэ зимыIэж анэ лъагъуныгъэм къызэрыхэкIар. Мы гузэвэгъуэм нэплъэжыгъуэ къыщезыт я бынхэр къахуэнэ нэхърэ, ахэр ажалым къыIэщIатхъын папщIэ, ятмэ нэхъ къащтэу. Эдвард Олимпия, 1864 гъ; франджы тхакIуэ Симон Джанашиа игу къинэжат шапсыгъ къуажэ Агуй щыщ илъэс 9I-рэ зи ныбжь Нафсос-дадэ зэрыхуэзар. Зы пычыгъуэ къыдохь шапсыгъ хъыбарым щыщу: «I862 гъэм Жьыубгъу мухьэжырхэм я хъыбар къэсащ. Илъэсиблым и кIуэцIкIэ тенджыз Iуфэм цIыху къупщхьэ Iулъащ, къуаргъхэм я абгъуэр цIыхухъу жьакIэхэмрэ бзылъхугъэ щхьэцхэмрэ къыхащIыкIыу. Илъэсиблым и кIуэцIкIэ псым хъарбызым ещхьу, щхьэкъупщхьэхэр къызыхидзу екIуэкIащ. Бийм Тхьэм иримыгъэлъагъукIэ а сэ слъэгъуар…» Джанашиа Русудан Евдокимовым фIэзахуэр нэгъуэщIт. Адыгэхэм уадэпсэуфынукъым, ягу зыкIи зыкIэрыбгъэпщIэфынукъым, хуиту бгъэпсэу хъунукъым, езыхэм Урысейр зэи мамыру ягъэпсэунукъыми. Дауи, абрэджхэм зэрахъунщIэм къихь хэщIыныгъэ мащIэракъым абы зи гугъу ищIыр, атIэ КъухьэпIэ къэралхэмрэ Тыркумрэ зауэ яублэ хъумэ, бгырысхэр тегъэщIапIэ яхуэхъункIи зэрыхъунращ. А псом къикIращи, Урысейр ефIэкIуэн папщIэ, адыгэхэр гъэкIуэдыпэн хуейщ. Сыт хуэдэ IэмалкIэ ар гъэзэщIа зэрыхъунур? Нэхъ къезэгъ дыдэр – Тыркум лъэщыгъэкIэ бгъэIэпхъуэу ящIхэм урыс лъэпкъыр тегъэтIысхьэнырт. А Iэмалыр – зы лъэпкъым адрейр игъэкIуэдэжыным ещхьыр - гущIэгъуншагърэ цIыху цIыкIум и хуитыныгъэм хуемыплъэкIыххэн щхьэхуещагъкIэ егъэлеяуэ удэзыхьэхт. Евдокимовым хуэдэ цIыхут ар зигу къэкIыфынур. И адэр мэкъумэшыщIэу, езыр хэдэрыхэхкIэ сэлэтхэм хагъэхьа нэужь, зыгуэрурэ офицер хъуфат, шэч хэмылъуи, ар зи фIыгъэр и гущабагъратэкъым, атIэ жыджэрагъ, гушхуэныгъэ, пхъашагъ зэбэкI и хьэлрат. Абы щIэтыр мыжьыкъылът, зыхуэпабгъэм лъэIэсын щхьэкIэ къикIуэти гущIэгъуи имыщIэу. И фейдэ зыхэлъ Iуэхур къехъулIэн щхьэкIэ акъыл жанрэ къару мыкIуэщIрэ къызыкъуэзых; гурыщIэхэм зэи ямыгъэгумэщI; тхэф-еджэф фIэкIа щIэныгъэ зыбгъэдэмылъыххэ Николай Иванович игу къыхэмыщту зэпишэчщ урысхэмрэ адыгэхэмрэ я къарухэри, «гъэбэяун» мурадыр «зэтеукIэн» IэмалкIэ гъэзэщIапхъэу унафэ къищтащ. Урысей къэралыгъуэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа; езыхэм яфIэщхьэпэ мурадым лъэIэсын папщIэ я гъуэгум къытезэрыхь псори зэтезыкъутэ; я IуэхущIафэхэр ираухеижын папщIэ, лIэщIыгъуэ зыбжанэ ипэкIэ «Мэз щраупщIыкIкIэ, пхъэ дзакIэхэр мэлъей» псалъафэр къыхэзыдзахэм я щIэблэ Барятинскэ-джыназым и гур а унафэм занщIэу къыпэджэжащ. Езыри зыщымысхьыжу, адрейхэми ящымысхьу, Евдокимовым сытри ищIэну хьэзырт КъухьэпIэ Кавказыр Урысейм и лъэгущIэт ищIын папщIэ. Къэзакъ унагъуэ ягъэIэпхъуэхэм сыт и лъэныкъуэкIи зыщIагъакъуэт. Ахэр мыIэпхъуэ щIыкIэ зауэлIхэм абыхэм унэхэмрэ гуэн-гуэщхэмрэ хурагъэщIт, щIэрыщIэу къызэрагъэпэщыжа Псыжь къэзакъыдзэм ахъшэшхуэхэр къахуиутIыпщт, члисэ зэраухуэнухэри хэтыжу; къэрал мылъкум къыхэкIыу унагъуэр илъэсищ-тхукIэ зыхэпсэукIын ерыскъы къыхурагъэхьт. Зытешыныхьыр нэгъуэщIт: пащтыхьым игу адыгэхэм ящIэгъуу, ахэр зэрыщыту игъэIэпхъукIын унафэр икъутэжынкIи зэрыхъунурт. Абы къыхэкIыу, адыгэхэм Iэмал имыIэу Урысейм икIыну памыубыду, хагъадэт: е «тафэ» зыфIаща, Мейкъуапэ пэгъунэгъу Псыжь и псыхъуэм мэIэпхъуэ, е Тыркум йокI. АрщхьэкIэ а «тафэм» апхуэдиз цIыху ихуэнут, къэнэну арэзы хъупэми? Абдеж изэгъэнур минищэ хуэдизт, щIыуэ къалъысышхуэ щымыIэу. Арати, цIыхухэм я бжыгъэр зэрагъэзэхуэн щIадзащ, укIытэ хэмылъыжыххэу, адыгэхэр зэрыхъу дыдэр нэхъ мащIэу къагъэлъагъуэу. Си жагъуэ зэрыхъущи, иджыпсту гукIэ сщIэжкъым а бжыгъэхэр, ауэ тхукIэ, пщIыкIэ бгырысхэм я бжыгъэр нэхъ мащIэу къраIуэурэ, пцIы яупст. ИлъэситI-щы зэрыдэкIыу, а бжыгъэхэр зэрыпцIыр зытха дыдэхэм къыщIагъэщыжащ, иIэпхъукIахэр ябжын зэрыщIадзэу. Ауэ езыхэри пцIым а зы дакъикъэрат зэрыхуэныкъуэр, Бытырбыху нэхъ зыхузэфIэкIыу дэсхэмрэ езы пащтыхьымрэ къагъэпцIэн папщIэ. Тихомиров ЛевУрыс унафэщIхэм ямыщIэ щыIэтэкъым, къэбэрдейхэр я пIэ ирагъэзэгъэн папщIэ. ЯгъэIэсэн мурадкIэ, абыхэм Медем, Якоби, Потёмкин, Глазенап, Булгаковри яхэтыжу, ебгъэрыкIуахэщ. А зэныкъуэкъум псынщIэ дыдэу зиубгъункIэ шынагъуэт, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, урысхэм я дежкIэ адыгэхэр къыпфIэмыIуэху, узыхуэбэлэрыгъ мыхъун ныкъуэкъуэгъу лъэщт. Къафкъаз Ищхъэрэм абыхэм пщIэуэ щаIэр абрагъуэт. Ар IупщIу къегъэлъагъуэ гъунэгъу лъэпкъхэм къэбэрдей адыгэхэм щыгъынкIи, IэщэфащэкIи, хабзэ-бзыпхъэкIи щапхъэ зэрытрахым, зэмыплъэкIыжу зэрызэпащIыжым. Хабзэрэ щэныфIагърэ зыхрагъэлъхьэн папщIэ, мышкъышхэм, осетинхэм, шэшэнхэм я бынхэр Къэбэрдейм ирагъашэ. «Адыгэм ещхьу хуэпащ», «Къэбэрдей шу хуэдэщ» къыхужаIэныр гъунэгъу бгырысым дежкIэ щытхъушхуэщ. Къэбэрдей адыгэм и щыпкъагъым, и зыIыгъыкIэ екIум, Iэщэ зехьэкIэм, цIыху хэтыкIэм уетхьэкъупэ, шыфэлIыфэкIэ къахэлыдыкI къэбэрдей адыгэр зэ Iуплъэгъуэм адрейхэм къахэпцIыхукIынущ. Абы и зауэлI IэкIуэлъакIуагъми мынэхъ мащIэу узыIэпешэ, щIэх зэримыкIуэтынури уи фIэщ ещI. Ауэ сыт урысхэм къахуэщхьэпар жыпIэмэ, емынэ узым зиубгъури Джылахъстэнейр ирилъэсыкIащ, Къэбэрдеишхуэми и лъэр щIихащ. ИтIани затауэ фэ зытрагъауэ щхьэкIэ, зэрызауэ щIыкIэр яхъуэжа фIэкIа, къэбэрдейхэм Iэмал закъуи зыIэщIагъэкIтэкъым урысхэм къатеуэну. Потто Василий Урысхэмрэ къафкъазырысхэмрэ зэрызэмыщхьым дыщытепсэлъыхькIэ, ар зызыужьа лъэпкъыр лъэпкъ къыкIэрыхуахэм зэрадекIуэкIам теухуа хъыбару зэрыщымытыр зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым. А лъэхъэнэм къэзакъхэр я зыужьыныгъэкIэ къумыкъухэмрэ шэшэнхэмрэ яхуэдэт, шэч хэмылъуи, къэбэрдейхэми къэбэрдеипщхэм я жыIэм щIэта адрей адыгэ лъэпкъхэми фIыуэ къакIэрыхут. Къэбэрдейр гъунапкъэм Iус къэзакъхэм я плъапIэт, абы къыщежьэр я щапхъэу. Къэбэрдейхэращ къэзакъ зауэлIым и шыфэлIыфэри, зэуэкIэри, шы гъэсэкIэри, нэгъуэщI къинэмыщIхэри къызыIихар. Попко Иван зэрыжиIэмкIэ: «Къэзакъхэр гъунэгъум хуеплъэкI зэпыту псэухэт, къуентхъым и гъусэу я хабзэ куэд къащтауэ. Унэхэращи, урыс унэ лъахъшэхэр ящIыжыххэтэкъым. Абыхэм я пIэ къиуват пэш щхьэхуэхэр зиIэж, зи гупэм пырхъуэ кIыхь къыIут адыгэ унэ зэлъыIухахэр». Баделли Джон Хуитыныгъэмрэ зэуэн-бэнэнымрэ итхьэкъуа адыгэ хьэлым зыри пэлъэщкъым. Я Iэпкълъэпкъыр жырым хуэдэу псыхьарэ Iэщэмрэ шымрэ хуэIэкIуэлъакIуэу зэрыцIыкIурэ къыдокIуэтейхэри, абыхэм я дежкIэ бийм утекIуэным нэхъ насыпрэ къобгъэрыкIуам ущышынэу уикIуэтыным нэхъ напэтехрэ щыIэкъым. Тэбу де Мариньи Жан-Виктор-Эдуард АдыгэлIым и къару илъыгъуэм деж цIыхубзыфэ къытезыгъэуэн псоми, уеблэмэ щхьэгъусэмрэ бынымрэ ябгъэдэсу унэм щIэсыным, зыщедзей. Абы къыхэкIыу, щIыIэри, хуабэри, мэжалIэри къыфIэIуэхукъым, тхьэмахуэ бжыгъэкIэ гъуэгу тетыфынущ, ихъуреягъыр тхъапIэу щытми, ху къэлътмакърэ зы псы фэндрэ нэхъыбэ гъуэмылэу хуэмыныкъуэу. Жыжьэ къикIа цIыху игъэхьэщIэмэ, е, махуэшхуэм и хьэтыркIэ, хабзэм зыдригъэкIу хъумэщ абы мыIэмалыншэ тыншыгъуэ гуэр зригъэкIуалIэу щыплъагъур. Ауэ, и ныбжьыр хэкIуатэмэ, и шыIэныгъэр нэхъ къегъэлалэ. Абдежращ абы гъащIэм и IэфIыр зыхищIэу псэууэ гу щылъыптэр. ДэнэкIи щыболъагъу унагъуэ насыпым и щапхъэу щхьэгъусэм, быным, къуэрылъху-пхъурылъхухэм къаухъуреихьу хьэблэм дэс нэхъыжь щхьэмахуэхэр. Спенсер Эдмунд Адыгэр хахуэщ, тегушхуэ хэлъщ, ауэ пщIэншэу лъы игъэжэн ифIэфIкъым, игукIи бзаджэкъым. ЗекIуэ кIуэрейщ, арщхьэкIэ и Хэкум пэIэщIэныр и жагъуэщ. И гур здэщыIэр я мэзхэмрэ бгыхэмрэщ. И щхьэхуитыныгъэр насып нэхъ ин дыдэу къелъытэ. Щабэу уепсалъэмэ, сабийм хуэдэу къыпхуэгъэпцIэнущ, уепхъашэкIми игу тригъэхуэфынущ, захуагъэм уемыбакъуэ закъуэмэ. И зэуэкIэм къыхужаIэм фIолIыкI, нэгъуэщIым и хахуагъым пщIэ хуещI, ар и бийуэ щытми. Махуэ псом уэрэд къришу, и мылъкуи и уни хэкIуадэмэ, къыфIэмыIуэхуу, шыр игъэджэгуу дэту къыпфIэщIми, ар гурэ псэкIэ и унагъуэм хуэпэжщ. Адэ-анэм зэредаIуэмкIэ, унагъуэм щиукъуэдииф зэгурыIуэмкIэ дэтхэнэ лъэпкъ зызыужьауэ зызылъытэжми щапхъэ хуэхъуфынущ. Лапинский Теофил Адыгэхэм къыхэхыкIэ зэращIэр я фащэми, я Iэщэми, дыжьыным къыхэщIыкIауэ хьэпшып къыздрахьэкIхэми къыхощ. Гухэхъуэщ адыгэ шыуейм уIуплъэну. Сыту тынш, екIу икIи зэщIэкъуа абы и цейри, и фочылъэри. И уанэм и тыншагъыр-щэ! ЩызауэкIэ сыт хуэдэу IэкIуэлъакIуэу и шыр зэригъакIуэрэ абы, фочыр къыщрипхъуэткIэ и IэбэкIэм удихьэхыу! Уэшх къешхмэ, е пшагъуэмэ, ауэ сытми екIуу зэрипхъуэкIрэ абы и щIакIуэр! Афэ джанэмрэ жыр пыIэмрэ иджы къамыгъэсэбэпыжми, хэщэтыкIыурэ адыгэхэр зыхуехъуэпсэкIыж я пасэрей хабзэхэм я фэеплъу, пщIэ хуащIу яхъумэ. Сталь Карл Къэбэрдейхэр Кавказым и уэркъ щауэхэщ. Къэбэрдей адыгэхэр хахуэщ, цIыху пэжхэщ, лей зехьэн, цIыхум ебзэджэкIын хьэл яхэлъкъым. Ахэр лъагъугъуафIэхэщ, егъэлеяуэ я теплъэм йолIалIэ. ЗыхуэпэкIэ зыщIэ бгырысым «Къэбэрдейм ещхьу хуэпащ» щыхужаIэ Кавказым. Къэбэрдей адыгэхэм IэбэкIэ дахэ яхэлъщ, хьэлщэн гуакIуэ хэIэтыкIа ядыболъагъу, ищхьэкIэ зэрыжытIащи, цIыхугъэ лъагэр къыдалъхуауэ я щэнщ. Адыгэм зэзэмызэххэщ пцIы щиупсыр, и бий нэгъунэ пэж фIэкIа жриIэкъым. Лавинцев Александр Сыту лъэпкъ телъыджэ хъунут мыхэр Iэпкълъэпкъым и дахагъым зэрелIалIэм хуэдэу псэм и дахагъым елIалIэу щытыгъамэ! Iэпкълъэпкъ дахагъыр жыпIэмэ, европэ щэнхабзэм щIапIыкIа дэ, адыгэхэм елъытауэ, дылъагъугъуейщ. Боденштедт Фридрих
{ "source": "adygabza.ru", "id": "paf.txt" }
Хъыдан гуащэ Уэлш Джон Мы тхыгъэр илъэс куэд лъандэрэ Колумбием щыщ тхакIуэ, Маркес Габриэл Гарсиа итхауэ ялъытэ. Ауэ, къызэрыщIэкIымкIэ, ар тхакIуэшхуэм и Iэдакъэ къыщIэкIакъым, уеблэмэ тхыгъэр и цIэм зэрыпатхар щызэхихыжам, и жагъуэ хъуат. «А тхыгъэ мыхьэнэншэр щхьэ сэ стхауэ я фIэщ хъун хуея?» - жиIа хуэдэуи кърахьэкI. «Хъыдан гуащэ» зи фIэщыгъэ прозэу тха усэшхуэр зэхэзылъхьар театрым гуащэхэр щызыгъэджэгу, Перу къэралым щыщ артист Уэлш Джону къыщIэкIащ. Дунейм ехыжым и тхыгъэ Сэ хъыдан гуащэ къудейуэ сызэрыщытыр Тхьэм зы дакъикъэкIэ зыщигъэгъупщэрэ гъащIэ Iыхьэ цIыкIу къызитыжатэмэ, сызэгупсыс псори жысIэну къыщIэкIынтэкъым, ауэ жысIэу хъуам сегупсысынт. Сыт ищIысми и мыхьэнэм елъытауэт уасэ зэрыхуэзгъэувэнур, текIуэдам елъытауэтэкъым. Нэхъ мащIэрэ сыжеинт, нэхъыбэрэ фIым сехъуэпсэнт, ди нэхэр зэтетIпIэху нэхуу напIэзыпIэ хыщI зэрытIэщIэкIыр зыщызмыгъэгъупщэу. Адрейхэм замыгъэхъейми, сэ сыкIуэнт, зыгуэрхэр жейми, сыжеинтэкъым. ЖаIэр си тхьэкIумэм изгъэхьэнт, итIанэ сытым хуэдэу зыстIыжынут сэ шоколад шэIумылкIэ. Иджыри зы дакъикъэ закъуэ Алыхьым гъащIэм къысхупищамэ, нэхъ къызэрыкIуэу зысхуэпэнт, дыгъэм сыдэлъынт, бзий хуабэхэм си Iэпкълъэпкъым и гъусэу си псэри хуит яхуэсщIауэ. Гу сиIэжамэ, ди Тхьэ, абы гужьгъэжьу илъыр мылым тестхэнти дыгъэр къыкъуэкIыным сыпэплъэнт. Си нэпсхэр гуащэнапщIэхэм ящIэзгъэлъэдэнт, я банэхэр къызэрысхэуэмрэ я гъэгъа плъыжьхэр си Iупэм къызэреIусэмрэ зыхэсщIэн хуэдэу… Иджыри гъащIэ тIэкIу сиIэжамэ, ди Тхьэ, зы махуэ блэзгъэкIынтэкъым си гум щызгъафIэ цIыхухэм фIыуэ зэрыслъагъур яжезмыIэу. Си псэм пэсщI дэтхэнэ зыми фIыуэ зэрыслъагъур и фIэщ сщIынти фIылъагъум ситхьэкъуауэ сыпсэунт. ЖьыхуегъэзэкI зэрыхъуам къыхэкIыу зыри фIыуэ яхуэмылъагъужу къызыщыхъухэм къагурызгъэIуэнт езы жьыгъэр лъагъуныгъэншагъэм къызэрыхэкIыр! Сабийм дамэ естынт, ауэ лъэтэфу зригъэсэн хуэдэу сутIыпщынт. Зи ныбжь хэкIуэтахэм я фIэщ сщIынт лIэныгъэр жьыгъэм къызэримышэр, ар щыгъупщэх ухъуным къызэрыхэкIыр. Сыт хуэдизым зезгъэса, цIыхухэ, сэ, фэ сынывэплъурэ. Дэтхэнэ зыри щыгум тесыну хуейщ. Ауэ сэ къызгурыIуащ дызыхуэпабгъэ насыпым и къэкIуэкIэр щхьэж ди бгы дэкIыкIэм зэрелъытар. Сэ къызгурыIуащ сабий цIынэ къалъхугъащIэм и адэм и Iэпхъуамбэ иубыдар игъащIэкIи зэриIыгъынур. КъызгурыIуащ цIыхур езым хуэдэм хуеплъыхыну зэрыхуимытыр, ар къигъэтэджыжын мурад имыIэмэ. Иджыри Iэджэм зезгъэсэфынут, цIыхухэ, фэ сынывэплъурэ, ауэ къысхуэщхьэпэжыну хъункъым а псор, сыту жыпIэмэ, мы пхъуантэм сыдалъхьэжа нэужь, сэ, дауи, си псэр хэтыжынукъым. ЗыхэпщIэр зэи умыбзыщI, узэгупсысыр щIэ. Нобэризэм фIэкIа ужейуэ сыпIуплъэну Iэмал симыIэжыну сщIамэ, IэплIэ быдэ пхуэсщIынти Тхьэм мелыIыч хъумакIуэу сыпщхьэщигъэувэну селъэIунт. Нобэризэм фIэкIа бжитI зэхуакум удэкIыу узмылъагъужыну сщIамэ, сыпкIэлъыджэнт, зыносшэкIынти, гукIэ пхузесхьэр уи пкъымрэ уи псэмрэ къаIэщIэзнэнт. Уи макъыр нобэризэм фIэкIа си тхьэкIумэм къимыIуэжыну сщIамэ, жыпIэ псори езгъэтхынт, аргуэру, аргуэру къезгъэгъэзэжурэ седэIуэжын хуэдэу. Иджыпсту дызэрыт дакъикъэр дэкIмэ, афIэкIа зэи дызэхуэмызэжыну сщIамэ, фIыуэ ущызмылъагъу дакъикъэ къызэрысхуимыхуэххэр бжесIэнт, сигукIэ: «Ар армырами ещIэ, щхьэкъэб», - жызмыIэу. Пщэдейхэр сыт щыгъуи ди куэдщ, гъащIэм Iэмал къыдет псори зэдгъэзэхуэжыну. Ауэ сыщыуэрэ нобэризэм фIэкIа къэмынэжауэ къыщIэкIмэ, си гум куущэу узэрилъри ар зэи уздимыIэпхъукIыжын уи игъащIэрей хэщIапIэу зэрыщытри бжесIэнт. Жьыри щIэри бэлэрыгъ хъунукъым пщэдейрей махуэр къэсыным щыгугъыу. ФIыуэ плъагъухэр нобэ фIэкIа умылъагъужынкIи мэхъу. Аращи, зыми упэмыплъэу, нобэ хуежьэ. Пщэдейр зэи къэмысмэ, зы гуфIэкIэ, зы IэплIэ, зы ба уигу щыпымыкIа махуэм уIэбэми улъэмыIэсыжу, иужьрей хъуапсапIэр зэбгъэхъулIэну узэрыхущIэмыхьам ухущIегъуэжу упсэунущ. Уи Iыхьлыхэм защIэгъакъуэ, иIущащэ я тхьэкIумэхэм ахэр уимыIэу узэрымыпсэуфынур, фIыуэ лъагъу ахэр, ящысхь, къэгъуэт зэман «сыту сыхущIегъуэжа», «кхъыIэ, къысхуэгъэгъу», «сытыт уэ нэмыщIамэ сщIэнур» яжепIэну, лъагъуныгъэр зэраIуатэ псалъэу пщIэхэм ущымысхь. Зыми игу укъинэнукъым уи гупсысэхэм я фIыгъэкIэ. Алыхьым елъэIу зыхэпщIэр къызэрыпIуэтэн бзэ уигъэщIэну, абы узэрытегушхуэн къарурэ Iущыгъэрэ къуитыну. Егъэлъагъу уи ныбжьэгъухэм ахэр уи дежкIэ зэрылъапIэр. Иджыпсту ар яжумыIэмэ, пщэдейрей махуэр нобэрейм ещхьыркъабзэу екIуэкIынущ. Зэи ар умыщIэмэ, зыми мыхьэнэ иIэххэкъым. ТеIэбэ уи гуращэхэм. А дакъикъэр къэсащ! ЗэзыдзэкIар ЧЭРИМ Марианнэщ.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "pafhgj.txt" }
Дэруиш Мэхьмуд дуней псом щыцIэрыIуэ, саугъэт лъапIэ зэмылIэужьыгъуэхэр зыхуагъэфэща усакIуэ, тхакIуэ гъуэзэджэщ. Галлилейм и къухьэпIэмкIэ щыIэ Аль-Бируэ къуажэм 1941 гъэм къыщалъхуащ Мэхьмуд. Ар Дэруишхэ Самиррэ Хурейрэрэ я сабий етIуанэт. Зи адэр мэкъумэшыщIэ, зи анэр щIэныгъэншэ щIалэм еджэным гу хуезыгъэщIар и адэшхуэрщ. Израиль къэралыгъуэр къызэрагъэпэщу, журтхэр къалэм къытеуа нэужь, зи ныбжьыр илъэсиблым ит Мэхьмуд щIалэ цIыкIур Ливаным къыщыхутащ, и унагъуэм теухуауэ зыри имыщIэу... Илъэс дэкIыу къыщигъэзэжам, абы и къуажэр щыIэжыххэтэкъым. Дэруиш псэупIэ хуэхъуащ Акко (а зэманым ар Израилым щыщ хъуакIэт) пэгъунэгъу а Дар-Аль-Асад куейр, школми щIэтIысхьащ. Зэман дэкIри, Хаифэ къалэм Iэпхъуащ. И япэ усэхэр зэрыт, «Къуалэбзу дамэншэхэр» тхылъыр къыщыдигъэкIам Мэхьмуд и ныбжьыр зэрыхъур илъэс 19-т. Дэруиш 1970 гъэм СССР-м къакIуэри, Ломоносовым и цIэр зезыхьэ Мэзкуу къэрал университетым илъэскIэ щеджащ. Палестинэр Израилым къыIэщIэгъэкIыжыным щIэбэн организацэм 1973 гъэм хыхьа нэужь, ар Израилым щыпсэуну хуимытыж хъуащ. 1995 гъэм Мэхьмуд Израилым и унафэщIхэм ялъэIуащ, и ныбжьэгъум и жэнэзым хэтын папщIэ, Хэкум ирагъэхьэжыну. Ар хуит ящIащ Хаифэ къалэм махуиплIкIэ щыпсэуну. 2007 гъэм бадзэуэгъуэм и 15-рщ ар иужь дыдэу Израилым щихьар. Дэруиш, Америкэм и Техас штатым хыхьэ Хьюстон къалэм дэт сымаджэщым и гур операцэ щащIа нэужь е екIуэри, абы илIыкIащ. Ар дунейм щехыжам Палестинэр махуищкIэ щыгъуащ. Палестинэм и Лъэпкъ организацэм и унафэщI Аббас Мэхьмуд абы щыгъуэ мыпхуэдэу жиIащ: «Нобэ дэ псоми ди зэхуэдэ гуауэшхуэщ Палестинэр фIыщэу зылъэгъуа, лъэпкъым къыщхьэщыжыным гуащIэ ин дыдэ езыхьэлIа цIыху гъуэзэджэр зэрытхэмытыжыр. А гуауэшхуэм ижь дэ къытщIимыхуу къэнэнукъым, ауэ ди гур егъэфI абы и гъэсэн гуп къызэрынам, ахэр я гъэсакIуэм и гъуэгум темыкIыну быдэу дызэрыщыгугъым». Уэрэзей Афлик Си паспортыр Мис си паспортыр, Сыхьэрыпщ сэ! Ар зыгурыгъаIуэ. Си паспортым и номерыр 5000-щ, ФIыуэ еплъыт, Быний сиIэщ, Ебгъуанэм бжьыхьэм сыпоплъэ. Укъэгубжьа? УмыщI уи IупщIакIэр, Сыхьэрыпщ сэ, Ар ныбжесIакIэщ! Махуэ къэскIэ сокIуэри, ситщ карьерым, Мывэ быдэр щызохьэжыр къырым. МэжэлIахэщи, хуейхэу шхэну, Къыщызожьэр си унэм си бынхэр. Тхьэ хузоIуэр щIэмычэу мывэм, Къахуэзлэжьыну быным щыгъын, гъавэ, Еджэным папщIэ псори зыхуеинур. Ауэ сыпщылIкъым щхьэщэ ныпхуэсщIыну. Угубжьрэ? ЗыгурыгъаIуи, Тхы, IупщIэ умыщIу! Сэ – сыхьэрыпщ, СыцIэншэкъым, сымыцIэрыIуэми. Сэ сыбэшэчщ. Си псэм Iэджи хуэшэчу. Ауэ ди Iуэху мыщIагъуэм Губжьыр гум щегъэбагъуэ… А губжь пшахъуэм хожыхь си лъабжьэр, Оливкэми алеандрэми нэхърэ сынэхъыжьу. Сэ сариныбжьщ мывэжьхэу Зи зэхуакухэм къадэкIыкIым удз. Лъы щхъуантIэкIэ зэджэхэми сащыщкъым, Сыщытакъым пщыуэ е уэркъыу. Си адэр мэкъумэшыщIэщ, Си адэшхуэми гъавэ ищIэрт. КъызэрыгуэкIхэм ящыщщ си лъэпкъыр, Си унэр мрамору дэщIеякъым. КъыхэщIыкIауэ ятIагъуэм, Си унэжь цIыкIури мыщIагъуэ. Иджы къыбгурыIуа? СыкъызэрыгуэкIщ, Сыеджагъэшхуэу си цIэ кърамыIуэу. ЗыгурыгъаIуэ! Сэ – сыхьэрыпщ, Си нэхэр къарэщ шейкъарэу, Си щхьэцри фIыцIэщ фIамыщIу. Си дамыгъэхэу сыкъызэращIэр: УлъэIэсамэ, зыхэпщIэу Жырым хуэдэу Си Iэхэр быдэщ. Сыщыпсэур къуажэжь цIыкIущ, Мамырыгъэр щытепщэу, ЩамыцIыхуу цIыхухъухэм Iэщэ, Я Iэмэпсымэщ гъубжэр, пхъэIэщэр... Тхы! Псом япэ дыдэу итхэ: Слъагъуркъым цIыхухэр жагъуэу, Сыхуейкъым зыри Iей хуэзэу, СфIэфIкъым бзаджащIэм къыхуэгъум! Мыри зыщумыгъэгъупщэ: Ди лъахэм гъаблэр Къыщихьэм, Iэщэ къыдощтэри, былымаблэм Къытыдохыж ди щIакхъуэ Iыхьэр! Си анэ Сытым хуэдэу сахущыщIэрэ Си анэм и щIакхъуэ Iыхьэм, Жьэгум дэсу шей щысхуищIкIэ Iэ щабэхэу къыдилъэм си щхьэм… Анэ бгъафэм сыщыщIэлъа Сабиигъуэр щIокIыжыр нэгум, Абы нэхъыфI сытемыплъа Пэлъытэу къинэжащ ар си гум. Анэм игу хэзмыгъэщIыным папщIэ СымылIэжу есхьэкIынт си гъащIэр. Уахътыншэ щыIэкъым, сыкъахьыжмэ, сылIэу, Щыгъуэ IэлъэщIу сешыхьэкI уи плIэм. Си гуапэ хъунт, си кхъащхьэм къытеплъхьам Удз, уи лъакъуэ къабзэхэм къыщакIухьар... Уи щхьэц налъэ къызэпшыхьэкIрэ, СызэщIупхэжмэ уи джанэ къуащIэ IуданэкIэ, Зыкъысщыхъужынт итIанэ, сытхьэу Мы хьэрш гъунэншэм сыхыхьэу! Сыт щыгъуи суригъунэгъуным папщIэ, Си IэпкълъэпкъымкIэ хьэкум мафIэ ищIэ... Уи унэ бгыкъухэм сафIэщIэ жьыщIыгъэ кIапсэу, Жьы сыхъуащи, нехусыр си псэм, Си лъэр щIэхуу Си сабиигъуэм и вагъуэ нэхур Къэнащ икъукIэ спэжыжьэу. Я хьэтыркIэ уэ пщIы нэмэзхэм, Сигъэхьэж а вагъуэм и нэзым. Бланэ щалъху зэрыкIуэжым ещхьу СынешэлIэж уи жьэгупащхьэм. Лъэхъуэщ Зихъуэжри си псэупIэм, Захъуэжауэ икIащ псори я пIэм. Захъуэжащ сыщышхэ зэмани, Си теплъи, си нэгуи, си щыгъыни, И бжыгъэм сызэфэми тутыну, Уеблэм, мазэ дыдэм и теплъи, ИтIани, лъапIэщ си дежкIэ мы щIылъэр – Дахэрэ хуиту, нэхуу, И щIыгулъымэр къысщыхъуу дыхуу. Шхын къызэрыгуэкIри гурыхьу. Къысщохъужри сытет си унащхьэм, ЩIэрыпсу уафэгум къихьэ мазэм Си гугъапIэм и нэр топлъызэ. Сурэтищ Мисыр си адэр, ИмыщIэу жыхуаIэр псэху, ЗэхиукIами гугъуехьым, Лэжьащ и къарум къихьыху. Сабийхэр игъасэу, Гъавэ хисэу, Мыхуэлэжу и гуащIэр ЩIым къытенэным папщIэ. Си къуэшыр щIалэт, МытIысауэ и акъылыр, Зэхичэтхъэжырт и щыгъыныр, Си шыпхъум къищтэрти мастэ-Iуданэ, Къэлътмакъ къыхищIыкIт чэтхъахуэм. Дэтхэнэми Iуэху гуэр зэрихуэрт. Иухыжакъым зэи си адэм и гур, ЩIиIуантIэрт пащIэр, къищтэрти хьэмфIанэ, Зэхилъхьэжырти къарууэ къыхуэнэр, Гъавэ ищIэрт, ипIырт и бынунэр, ЩIыгум къытринэну гуащIэр Мыхуэлэжу куэдрэ тетын папщIэ. Палестинэм хьэщыкъ ищIа Лъагъуныгъэ, Уи нэхэр тедиящ си гум, КъыщIагъэхьэжу БлэкIахэр си нэгум. Ахэр губжьым, лъагъуныгъэм, уафэгъуагъуэм Я гуауэу къинащ си гум. Си нобэмрэ си блэкIамрэ, Си лъагъуныгъэр, зэгъусэу дыкъыщыхъуа сабиигъуэр ЗэпызыщIэж лъэмыжу Сохъумэ а гуауэу вагъуэ миным я пэбжыр. Мэзым щIэIукI си макъыр Зейтун мэзым щIэIукI си кIий макъыр, Джэрпэджэжу къегъэзэжри, къысподжэж. Срапхри щIащIыхьыжащ мафIэ губжьар Си лъабжьэм. СолъэIур къуаргъхэм: «Сывмычатхъэ, сывмышхыж». Е згъэзэжынкIи хъунщ лъахэм, Е игъэункIыфIынкIэ хъунущ мафIэр уэшхым... Зэгуэр къэстIэтэжыфмэ си Iэпхлъэпхыр IэпцIэлъапцIэу дауэ сыкIуэжын си лъахэм?! Ерыщ ЗэкIуэцIыфпхами си Iэ – си лъэр, Къэзвмыгъащтэми тхылъыр, Тутын къудей севмыгъафэу, ЯтIэкIэ фкудами си жьэр... Сэ си гур усэрщ зыхуэлажьэр.... Iэбжьанэ-лъэбжьанэкIи, Си нэкъуэпсхэми, КъамэпэкIи сытхэнущ... Хьэпсым сисми, ЩIыунэ сыщIэсми, Хьэмэмми сащыфIэтхэнущ... Си гу къуэпсхэм бзу минхэм я дамэм Къыщрашыр усэ макъамэ. ЦIыху Ар ягъэкъуаншэри лIыукIыу, И жьэр ядащ гъущI кIапсэкIэ, ЯгъэкIуэдыну кIэраIулIэри къырым, Къытрахащ ерыскъыр, и щыгъыныр, бэракъыр. ФIащри «дыгъуакIуэ», Ирадзащ хьэпсым, Зыми зыкIэлъимгъакIуэу, ЯщIащ хьэIупси. Къытрахри и къэшэныр, ЖраIащ: «Уэ ухьэулейщ!» Си лъым игъэбауэ си нэ,си Iэгу, Мы жэщхэм я кIэухым сремыплъэ и нэгу. Махуэ къэсынщ хьэпс щымыIэжу, ГъущI кIапсэр улъияуэ щэщэжу. Нерон лIащ –урымыр уахъты зимыIэщ. ЦIыхум и нэр и Iэщэщ! КъикIыкIынущ щхьэмыжхэм я гулъыр, ЗэщIэгъагъэу пшахъуэщI щIыналъэр. *** Сапэлъэщащ цIыхубзым къызита гукъеуэм, Тхьэпэлъытэ сфIэщIахэр КъызэрыщIэмыкIам сазэрыщыгугъауэ. Сабийр щыщIэслъхьэжам, Сыпэлъэщащ узым, Ауэ нэпсыр гу лъащIэм щызозыр... СощIэ, Нэпс шыугъэр йожэх шэрашэу. СощIэ, Гъы макъым и зэшым И макъамэр кIыхьурэ хешыр. Дыху ебгъэфа уи бэлътокур КъомыхьэлIэ, бгъэдалъэу си нэкIум! Гур къыщоуэ къамэдзэ нэпкъым, УIэгъэр, уIэгъэр кIыжакъым. Си лъагъуныгъэм и епэрыр Дэнэ иджы щыхэтыр? ЗэкIуэцIиха и гулъыр ИтхьэлэжакIэ и лъым?.. Хьэдэхэу, зыхъумэ си унэ псэншэр,- ЩIыхьым и хъумакIуэ уахътыншэхэ. Нэпсхэр щызу щIегъэкIыр си гум! ПщIыхь е нахуапIэ щIэкIыр нэгум, И сабэр, и уафэр хамэ уэгу лъащIэм? Си нып ячэтхъам сайпцIыжакъым игъащIэм. Хамэ щIыналъэм и дыгъэ щIагъым Щогукъыдэмыж си лъагъуныгъэр. Аращ си Iэпкълъэпкъыр ЩIэузыр, Нэпс шыугъэм си гур щIихузыр! Си насыпым и псыпэр псынщIэу Блэжащ, Блихащ гъащIэ мащIэр… КIэщIым и закъуэкъым гъащIэр, Бгъузэщ,зэвщ, ЕхуэхыпIэр умыщIэу.. ЩIакхъуэ сыхуэхъуну мэжэщIалIэм, Е гулъ IэфI сабий къалъхуагъащIэм? Си гу лъащIэр нэпс гуащIэм егъэнщIыр… ЗэзыдзэкIар Уэрэзей Афликщ
{ "source": "adygabza.ru", "id": "pag.txt" }
ЗэзыдзэкIар Уэрэзей Афликщ Лъагъуныгъэр зи тхьэ пэлъытэ Флоренциер зрагъэбгына адрей куэдми я гъусэу, I302 гъэм лъахэм ирагъэкIащ нотариус Пьетрэ ди Паренцэ ди Гардцэ (е, нэхъ зэреджэу щытамкIэ - Петракколэ – нэгъуэщI тхылъ гуэрхэм Петраркэ жиIэу итщ). И къалэм зэгуэр игъэзэжыным гугъэр химыхыжу, ар Флоренцие пэмыжыжьэу щыс Ареццэ къалэ цIыкIум къыщыувыIащ икIи I304 гъэм бадзэуэгъуэм и 20-м зэщхьэгъусэхэм я япэ сабийр – Франческэ зыфIащар – дунейм къытехьащ. Франческэ илъэсий щрикъум ирихьэлIэу унагъуэр Францием и ищхъэрэ лъэныкъуэкIэ щыIэ Авиньон къалэм Iэпхъуащ. А лъэхъэнэм Рим папэм и хэщIапIэр Авиньон зэрагъакIуэрэ куэд щIатэкъым (Францием и пащтыхь Филипп IV-м и унафэкIэ папэ Климент V-м и хэщIапIэр I309 гъэм мыбы къагъэIэпхъуэри, ар щIэдзапIэ хуэхъуащ I377гъэ пщIондэ щыIа «Авиньон лъэхъуэщ» жыхуаIэм). «РимыщIэ», «Вавилон етIуанэ» зыфIаща е нэхъ иужьыIуэкIэ езы Петраркэ католикхэм я щыхьэр нэпцIкIэ зэджа къалэм дэз хъуа сондэджэр жыджэрхэр езыхэм зэращIылIэ зэгурыIуэныгъэхэр, Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр тэмэму зэхуэзыгъэхъуфын юрист Iэзэхэм хуэныкъуэт. УсакIуэм и адэм нэхъ фIэкъабылт и щIалэр адэм и гъуэгум ирикIуэныр икIи ари юрист хъуну фIэфIт. Илъэс пщыкIутхум ит Франческэ, хабзэр иджыну, япэ щIыкIэ Монпелье, итIанэ Болонием ягъакIуэ. Ауэ ныбжьыщIэм и гур зэтар юриспруденциер аратэкъым, ар нэхъ дихьэхырт литературэм икIи пасэрей Рим тхакIуэхэм я тхыгъэхэм еджэрт. Юридическэ Iуэхугъуэхэм зыкIи бгъэдэмыхьэ тхылъ еджэу ар зэгуэрым адэм къиубыдащ икIи пасэрей манускриптхэр щIалэм къытрихри, мафIэм пэридзэу хуежьащ. Нэхъ иужьыIуэкIэ Петраркэ игу къигъэкIыжыгъащ абы щыгъуэ мафIэм пэрадзар езыр ара фIэкI умыщIэну гухэщIу гъауэ зэрыщытар. СощIэж, игу къигъэкIыжт усакIуэм, си нэпсхэм къагъэгумэщIа адэм зы Iэ лъэныкъуэмкIэ Вергилий и тхыгъэхэр, адреймкIэ Цицерон и риторикэр мафIэм къыпэрихыжу къызэрысхуишияр икIи, ауаныщIу пыгуфIыкIыурэ, зэрыжиIар: «Къащтэ мыхэр! Зехьэ, ущыIуэхуншэхэм деж зэштегъэууэ уеджэн папщIэ». Франческэ университет курсхэр иухыху Болонием щемыджэу, псори хыфIедзэри Авиньон къегъэзэж. Болониер Франческэ игу къинэжащ усакIуэхэри зыхэта студент ныбжьыщIэ гупым нэгузыужьу ядигъэкIуа, и япэ усэхэм студентхэр щригъэдэIуа зэману. I326 гъэм и адэр лIа нэужь, Петраркэ дин лэжьыгъэм зритащ, члисэ къулыкъукIэ удэкIуэтеин хуейуэ къэзымыгъэув светскэ каноникыу лэжьэн щIидзащ. Е пщэрылъ къыщащIа къалэнхэр игъэзащIэу, е езым и жэрдэмкIэ усакIуэм куэд къызэхикIухьт, нэгъуэщIу жыпIэмэ и псэукIэр турист гъащIэм ещхьт. Петраркэ I337 гъэм япэ дыдэу Рим кIуащ. «Къалэ уахътыншэ» жыхуаIэр усакIуэм икъукIэ фIэтелъыджащ. Аращ и письмохэм ящыщ зым мыпхуэдэу щIитхари: «Рим сэ сызэригугъам нэхърэ нэхъ иныжу къыщIэкIащ. Псом хуэмыдэжу телъыджэ къысщыхъуащ пасэрей унэжь зэхэкъутахэр». I327 гъэм мэлыжьыхьым и 6-м Петраркэ Авиньон члисэм щилъэгъуащ ЛаурэкIэ зэджэ пщащэ тхьэIухудыр икIи зэуэ егуэкIуащ. НыбжьыщIэм и лъагъуныгъэ гуащIэм пщащэр къыпэмыджэжами, усакIуэм и лъагъуныгъэшхуэр зэманми хуэмыгъэужьыхыу игъащIэ псокIи, пщащэр дунейм ехыжа нэужькIи щIыгъуащ фIыуэ илъэгъуам «си гуащэкIэ», «Дуней нэхур сэзыгъэлъагъу дыгъэкIэ» еджэу. Петраркэ Лаурэ зэрыхуэзар гъуэзэджэу къыщыгъэлъэгъуащ Буниным итха «Дыгъэ телъыджащэ» рассказым: «ЩIалэм дежкIэ ар тIощIрэ ещанэ гъатхэт, пщащэм и етIощIанэт. ИкIи щIалэм дэтхэнэ зы ныбжьыщIэми иIэ хабзэ дахагъэр бгъэдэлъмэ, и гущIэм лъыр къыщыкъуалъэмэ, пщащэ ныбжьыщIэм и дахагъэр зэбгъэпщэфынур уэгур зи хэщIапIэ хур пщащэхэрт. Я насыпщ ар псэууэ зылъэгъуахэм! Ар кIуэрт и нэбжьыц кIыхьхэр ехьэхауэ; ахэр къыщиIэтым деж дыгъэ бзий къызыхих и плъэкIэр, игъащIэкIэ хэмыкIыжыну, гущIэм итIысхьэрт». И гъащIэ гъуэгуанэм Петраркэ здыпхриха и лъагъуныгъэр къабзэт, гугъапIэкIи гухэщIкIи гъэнщIауэ. А лъагъуныгъэм усакIуэр пцIы лъэпкъ химылъхьэу, и гурыщIэр къигъэнаIуэу щытепсэлъыхьащ Италием щитха усэхэм. Аращ «Канцоньере» («Уэрэд тхылъ») тхылъыр усакIуэм и псэм узыIэпишэу игъэIу макъамэ, усыгъэм и щапхъэ пэлъытэ щIэхъуари. Тхылъым зи гугъу ищI языныкъуэ Iуэхугъуэхэр къыщыхъуар хуэгъэфэщауэ фIэкI пхужымыIэнумэ, языныкъуэ усэхэм Петраркэ езым къыщытхуеIуатэ и «лъагъуныгъэм и «ныбжьыр»: «ИлъэсиблитI хъуауэ зэрогъэбий гухэлъхэр...», «Илъэс епщыкIуханэри икIащ, гум ирихьу згъэву бэлыхьхэр ...», «СыIэмалыншэщ иджыри, илъэс тIощI и пэкIи ещхьу...» ЩIалэм и гури и псэри къанэ щымыIэу зытхьэкъуа Лаурэ ехьэлIа, здэщыса, зылъэIэса псори, усакIуэм и дежкIэ лъапIэщ икIи Петраркэ пщащэм теухуауэ и нэгу къыщIигъэхьэхэр усэ сатырхэм мыпхуэдэу щетхыж: Мыбдежым уэрэд щыжиIащ, щысащ, блэкIащ мыбыкIэ, Мыбдежым къыщыувыIэри, къызэплъэкIыу, И плъэкIэм гъэр сищIащ игъащIэ псокIэ... Емынэ узыр етауэ, цIыхухэр лъэрыщIыкI ищIыу Европэм щита зэманым Петраркэ Италием, Вероние щыIэу, Лаурэ зэрылIам и хъыбарыр I348 гъэм къыIэрыхьащ. Пщащэр дунейм ехыжащ мэлыжьыхьым и 6-м. Мыр гъэщIэгъуэныщэу зэтехуат: усакIуэм ар Авиньон къалэм щыIэу япэ дыдэу щилъэгъуар икIи лъагъуныгъэ уахътыншэм и гъэр щыхъуар а махуэр – I327 гъэм мэлыжьыхьым и 6-р арат. Лаурэ хэIэтыкIауэ игъэлъапIэурэ, Петраркэ игъэлъапIэр щIылъэм щызекIуэ бзылъхугъэхэрт, ахъумэ и нэкъыфIэщIкIэ езым къигъэщIыжа цIыхубз гуэртэкъым. «Уэрэд тхылъыр» IыхьитIу зэпагъэщхьэхукI хабзэщ – «Лаурэ и гъащIэм теухуарэ «Дунейм ехыжа Лаурэ теухуауэ». УсакIуэм и иужьрей илъэсхэр Италием, Миланрэ Падуерэ щигъэкIуащ икIи I374 гъэм Аркуа щыIэу бадзэуэгъуэм и I9 жэщым, Вергилий и тхыгъэхэм еджэу здыпэрысым лIащ. *** Лъэбакъуэ счыху сызоплъэкIыжыр гур шэрашэу, Си лъахэ дыщэм и хьэуар жьэдэсшэу. Аргуэру псоми хуэхьэзыру, си псэм Гъуэгуанэ къыспэщылъым зыхуегъэпсыр. Ауэ, сигу къокIыжри сыбгынэр, ГъащIэ гъуэгум теплъызэжу си нэр, СыкIэзызу си лъэр сфIызэронэ. Зэуэзэпсэу щиубыдыкIыу тэмакъыр, КъысIэщIокIри, къызоупщI гъы макъыр: «Псэншэм дауэ зэрыпсэур Iэпкълъэпкъыр?» Къызет чэнджэщыр лъагъуныгъэм и тхьэм: «Лъагъуныгъэм итхьэкъуам, адрейхэм ещхьу Зэи щхьэр зэримыгъэщхъыр пщIэркъэ?» *** Сощатэ, тхьэмпэ щхъыщхъ фIэкIа умыщIэу, Жьыбгъэ нэщхъейм и нэпсхэм уэ зыкъащIыр. Хьэщыкъыу сыныщоплъкIэ сонэщхъей, Сыщыхэхэсщи ущыпсэу дунейм. НэгъуэщIхэм семыхъуапсэ, сыблэплъыкIыу Уи гуфIэкIэм нур къыхэлыдыкIым, Уи дахагъэр къодэхащIэри гурыщIэм, Жыхьэнмэуэ къысщыхъужкъым гъащIэр. УзэрыIукIыжу лъыр мэдий, Къыстемыпсэжу уи нитIым къащIих бзийр, Аргуэрыжьу уи гуфIэкIэм сыхущощIэ. Лъагъуныгъэм къызэгуепхъыр си бгъэр, Псэр, Iэпкълъэпкъым хокIри, ныпхуэпабгъэу, Уи лъэужьым ирикIуэу мэпIащIэ. *** Си уэрэдхэм, хуэпэжу щIалэгъуэ гурыщIэм, Щатэурэ, гукъэкIыж сыщамыгъащIэ. КъэкIуэнум натIэм къритхар сымыщIэу, ЩысIэщIокI щыуагъэхэр мы гъащIэм. Гугъэ мызащIэхэм, гурыгъузхэм зэщIаубыдэу, Си макъыр, уэрэд къыхуимышыжу, зэпоудыр. Къысхуэбгъэгъунуи сынолъэIукъым абы папщIэ, СызыщIэлъэIур уи гулъытэ мащIэщ. БлэкIми къыблэкIыжми сыкъащIам ауан, Абы къикIыркъым хеящIэр схуэткIияуэ, Сызэрыдыхьэшхэныр солъагъужыр. Мыхьэнэ зимыIэ тыншыпIэ ПщIэншэу сызэрылъыхъуам КъызигъэщIащ – гъащIэр пщIыхьу зэрыкIуэдыжыр. *** Злэжьащ сэ Iэджи абы и нэхейкIэ, Уэим къимыкIыу екIуэкIащ иджыри къэскIэ. Ауэ, илъ ищIэжу, лъагъуныгъэр гъуанэдэууэ Сыщыпэмыплъа дыдэм къыстеуэхукIэ. Си гугъащ иджыри зызмытыну, Къарууэ сиIэмкIэ сыпэщIэтыну. Ауэ лъагъуныгъэм и шабзэшэр Тохуэр зригъэпщам, блимышу. ЗыщызгъэпщкIунуи сыхунэмысу, Шынагъуэ гуэри сыщыпэмыплъэм, Шэрыуэу шэр къыстрегъапсэ. ЗыкъуэзгъэпщкIуэжми си зыхэщIыкIым, СытепыхьэжкIи, зыри къимыкIыжу, Дунейм тетыхукIэ хущIогъуэжыр си псэр. *** Дыгъэр нэщхъейуэ къыщепс махуэу, Уафэ лъащIэм и фэр щыпихум, Лъагъуныгъэм къызегъапщэри шабзэшэр, Уи нэ дахитIым гъэру сызыщIашэ. СыкъыфIэIуэхуххэу лъагъуныгъэм Сызэригугъар арат сэ си щыуагъэр: И къыщIэдзапIэ нэщхъеягъуэм ЩIыхуэхъуари арагъэнт а махуэ фагъуэр. Лъагъуныгъэм и шабзэшэр мыубзэщхъуу, Гум техуащ, щигъэункIыфIыкIыу си нэр, Си фIэщ мыхъуу гъэр сыхуэщIыххэну Си гугъэщ сэ ар мылIыгъэшхуэу, ГуащIэмащIэм утегушхуэныр, Уэ, сыткIи зэщIэузэдар укъигъанэу. *** Мы дунеишхуэр къигъэщIащ КъэгъэщIакIуэм, зы хуэмыныкъуэрэ щымыщIэу, И мурад Iущхэр вагъуэм ящхьэщыту, Гуапагъэр залымыгъэм и пэ иту. Пшагъуэ Iувыр зыщхьэщылъ тхыдэм Хэтлъагъуэфу КъурIэным и Iэятхэр. МелыIычхэр дришейри уафэм, Езым щIыгъуну яхуищIащ унафэ. Римри Иудейри къигъэщIащ, ГулъытэкIэ игъэжыIэщIэу, ЖыIэдэIуагъэр яхэлъыным папщIэ. Ноби къалэ цIыкIухэу щIылъэм щымымащIэм Яритащ дыгъэшхуэм и гуащIэр, ЯригъэIэтыну лъахэм и пщIэр. *** Ныбаблагъэм, гупсысэм и щхьэхынагъэм, щхьэпсыншагъэм ХагъэкIуэдыкIыр цIыхум хэлъ цIыхугъэр: Дунейм и тхьэусыхэхэм хуэдэгуу, ТокIуэдэкIыр гуапагъэр щIыгум. IуэхуфIхэм я нурыр уафэм щокIуэщIыр, ЩIэкIащ япэм иIа IэфIыр гъащIэм. Псэм и дахагъэр фIэмыкIуэдауэ Къытхэнэжари, гъэщIэгъуэну мащIэщ. ДыщIэхъуэпсыну щIыхьым? ХуэтщIыну Миртэ щхьэщэ? «Философием ди лъэр тхущIеудыр!» КIащхъэ хъуркъым хьэкIэпычхэм я уэрэдыр. Ныбжьэгъу, адрейхэм хуэдэкъым уи гъуэгур, Иджыри къэс зэрытетауэ щIыгум ИригъакIуэ гур а лъагъуэ дыдэм.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "page.txt" }
ЩIАЛЭГЪУЭМ И ГУХЭЩIХЭР Гете И. В., Шиллер Ф., Дессинг Г.Э. хуэдэ цIыхушхуэхэм ящIыгъуу зи цIэр къраIуэ нэмыцэ усакIуэ, прозаик, критик икIи публицист Гейне Генрих Дюссельдорф щыщ журт унагъуэм 1797 гъэм къыщалъхуащ. Щхьэзакъуэ журт еджапIэм, иужькIэ франджыбзэкIэ щрагъаджэ лицейм щIэсащ. А еджапIэхэр къиуха нэужь, ныбжьыщIэм и гугъащ коммерцэ Iуэхум хыхьэну. А лэжьыгъэм япэ щIыкIэ Майн Iуфэ Iус Франкфурт, етIуанэуи Шамбург къалэхэм и зэфIэкI щеплъыжащ, ауэ зыри къикIакъым. ИужькIэ ар Бонни, Геттингени, Берлини щеджащ. А зэманым ар дехьэх Гегель и лэжьыгъэхэм, икIи, 1825 гъэм Геттинген къегъэзэжри правэмкIэ доктор мэхъу. 1823 гъэм Пруссием журтхэм цIыхум и хуитыныгъэ псори къатриха нэужь, Гейне а къэралым и бий нэхъ жагъуэ дыдэхэм ящыщ зы хъуащ икIи езым хуэдэ и лъэхъэнэхъу зыкъомым ящIыгъуу лютеранствэр къищтащ. Диныр зэрихъуэжам и сэбэпынагъ гуэри Гейне къыхуихьакъым, сыту жыпIэмэ, властыр зыIэщIэлъхэр нэхъ зыгъэгубжьыр абы зэрихьэ диныртэкъым, атIэ и тхыгъэхэрт. Гейне нэхъ гулъытэшхуэ зыхуищIхэм ящыщт литературэр. Бонн щыщыIам ныбжьыщIэм Шлегель А. В. зригъэцIыхури, и лекцэхэм кIуащ. Берлин щыкIуам ар зэфIэкIыфI къэзыгъэлъагъуэ литератору кIуащ, Рахили фон Энзе и литературэ кружокыми хыхьащ. Гейне и япэ усэхэр 18I7 гъэм къытрыригъэдзащ, «Усыгъэхэр» зыфIища и япэ тхылъыр 182I гъэм къыдэкIащ. 1823 гъэм къытрадзащ «Лирическое интермеццо» усэ гупыр. Университет нэужьым Гейне и гугъащ юрист лэжьыгъэм зритыну, ауэ литературэр нэхъ къыхихыжащ. «Гъуэуанэ суртэхэр» зыфIища тхылъиплIым щыщ япэ тхылъым ехъулIэныгъэшхуэ къыщыхуихьым, усакIуэм зэрыпсэун литературэкIэ къилэжьу щIидзэри, абы зритыпащ. А лъэхъэнэм Гейне куэд къызэхикIухьащ. ЩыIащ Англием, Италием. Абыхэм я фIыгъэкIэ игъэхьэзыращ «Гъуэгуанэ сурэтхэм» къапызыща тхылъхэр. УсакIуэм и усэ куэдым макъамэ щIалъхьащ Ф. Шубертрэ Р. Шуманрэ. 1830 гъэ и июлым екIуэкIа революцэм нэужь Гейне тогушхуэ Германием иIэпхъукIыну, 1831 гъэм и накъыгъэ мазэм усакIуэр Париж мэIэпхъуэ. Франджым усакIуэм къыщецIыху иужькIэ щхьэгъусэ хуэхъуа, усэ куэди зыхуитха Кресанс Эжени Мирэ. 1841 гъэ а тIур зэрышащ. 1835 гъэм Пруссием и рейхстагым унафэ къищтащ «Германие НыбжьыщIэм» политикэ и лъэныкъуэкIэ езыхэм я Iуэху еплъыкIэщIэхэр къыхэзылъхьэ зыкъомым я тхыгъэхэр къытрадзэну хуимыту. Апхуэдэ авторхэм ящыщт Гейнери. Берн Л. Париж щызэхуишэса революционер-реформатор гупым яхыхьа нэужькIи, Гейне Пруссием и властым езэгъакъым. 1840 гъэм Гейне газет лэжьыгъэм зретыжри, «Бэм и газетым» -м Париж и псэукIэм теухуа тхыгъэ куэд тредзэ. А тхыгъэхэр зэхелъхьэжри, «Лютеция» жиIэу тхылъ щхьэхуэу къыдегъэкI, ар усакIуэм и иужьрей журналист лэжьыгъэу щытащ. ИужькIэ Гейне и творчествэм увыпIэ нэхъыщхьэр усэхэм щаубыд. Абы и щыхьэтщ «Атта Тролль», «УсэщIэхэр» тхылъхэр, нэгъуэщIхэри зэкIэлъхьэужьу къызэрыдэкIар. И унагъуэм къихъуэу хуежьа псалъэмакъ мыщхьэпэхэм Гейне сымаджэ йохъукIри, 1848 гъэм пIэхэнэ мэхъу. Ауэ узым хузэфIэкIакъым усакIуэм тхэныр IэщIыб иригъэщIыну. Узым къыхигъэзыхьыху усакIуэр нэхъри ерыщ екIуауэ лажьэрт. Абы и щыхьэтщ ар дунейм ехыжа нэужь, къыдагъэкIа «Романсеро», «1853-1854 гъэхэм я усэхэр» тхыгъэхэр. Гейне 1856 гъэм мазаем и 17-м Париж щылIащ икIи Монмартр кхъэм щIалъхьащ. Нобэ фи пащхьэ идолъхьэ Гейне Генрих и усэхэм хэчыхьауэрэ къыхэтхыу адыгэбзэм къидгъэтIэсахэр. Уэрэзей Афлик *** Бгыхэр, аузхэр, чэщанэхэр Къоплъэр Рейн и псы гъуджэм Псори мэлыд цIуугъэнэу, Сехь кхъуафэжьей лъэуджаджэм. Соплъ, дихьэхащи джэгуным, Дыжьыну мэпсыпсыр толъкъуныр. Псэм щыукъубей гурыщIэр КъыщIосыкIыжыр псы лъащIэм. Уигъэгушхуэу, узыIэпишэу Зэрыкъабзэ мы псыр, зэрынэху! СощIэ псы щIагъ кIыфI пхыплъыпIэншэм Ажал къыдэжьэм зыщегъэпсэху. Уи псы щхьэфэр нур нэIурыту, КIыфI зэфэзэщу уи лъащIэр, Пхызолъагъуэр абы и сурэтыр: И нэр къащхъуэрэ, гуапэу дахащIэу, Хуэзгъэдэн дунеишхуэм темыту! *** А гущIэгъуншэм зыпыIуздзырт, ещхьу делэм Сыхэлъадэу жэщ уэлбанэрилэм. СыпIащIэрт сыблэкIыну кхъэ Iуащхьэжьу Нур гуэрхэр схуэзыгъаблэм жыжьэу. Мазэ зэщIэдиям и бзий псэншэхэр Теджэгухьу музыкантым и кхъащхьэм: «ТIэкIу зыIэжьэт, къуэш»,- къызоIущащэ, Пшагъуэ тхъуари къыхотэджыкIыр жэщым. КъызоцIыхужыр шыкIэпшынауэр; КъикIыжри мащэм, кхъащхьэм тетIысхьауэ, Iэпэ гъущIахэр шыкIэпшынэ налъэм Дилъэурэ дэгуу егъэIур пшыналъэр: Илъэс блэкIахэм я уэрэдыр Къыхэдзи, гъэтыншыж сигу зэгуэудыр. БампIэм иригъэпцIыхьами абы лъыр Къыхуегъаблэ мелыIычым уафэ пшэплъыр, ШейтIанми бэлыхькIэ къызэщIибгъэу - А псоми зэреджэжыр лъагъуныгъэщ». Макъамэм и пшыналъэр зэрыужьыхыу, ЗыкъатIэщIыжри езыр-езыру кхъащхьэм, Абыхэм къикIа ныбжьхэм зэрызехьэу Хьэдрыхэ уджкIэ пшынауэр къауджыхьыр: «Ей, лъагъуныгъэ, уи удыгъэм Дрихьэхауэ щIым и щIагъым, ДыщIэлъами куэдрэ даущыншэу, дыкъегъэтэджыжыр уи тхьэгъушым!» А бамэ, наджэIуджэ гупым зэрызехьэу Пшынауэр къафыхь, къалъэтыхьыр, Гъуэг макъыр дыхьэшх делэм хэзэрыхьу. ШыкIэпшынауэ къэгубжьам и пшыналъэр Нэхъри ерыщу зэролъэлъыр: ЛIыгъэ фхэлъщ, фыкъафэ, феуэ Iэгум! Гъуэрыгъуэххэу СыщIэвгъэплъ фи лъэгум! Фыкъегъэтэджыж си макъ телъыджэм, Сэри даущыншэу махуэ Iэджэ Гъуэм къипщыну темыгушхуэ дзыгъуэу ЗызгъэпщкIуауэ сыщысащ сыщыгъуэу. Феуэт, щIэфIэтэжи дэрэжэгъуэр. Уэрэд къыхэвдзэт, дэ тхьэкIумэ лей Тхэту слъагъукъым, ахэм дахуэмей! Делагъэ Iэджи тIэщIэкIахэщ ди жьы хъугъуэм, Хедгъэсхьэжу зэманым ди щIалэгъуэр, ГурыщIэ гуащIэм гу зэщIэплъар илыпщIырт. Иджы къреIуэтэж дэтхэнэ зыми Сыт хуэдэ гуауэ и щхьэм къылъысами, Зыхуэпабгъэу иIа хъуэпсапIэр, Зыхэлъа шыгъушыпсыпIэр, ФыкъэкIуа зэрыхъуари мы щIыпIэм». И макъыр бжьэ лъэта къыпфIэщIу гъуагъуэу, Зы хьэдэ къупщхьэ къыхотэджыкIыр пшагъуэм: Сэ сыщытащ дэрбзэрым срикъуэдзэу, СIыгъыу арщыныр, мастэ пэбдзыр. АрщынкIэ Iэзэу къыпыспщыкIыр IэкIуэлъакIуэу мастэмкIэ издыкIыу. Мастэ иIыгъыу зэгуэрым КъыщIыхьащ и пхъур дэрбзэрым. И нэ плъэкIэ закъуэм мастэм ещхьу ЗыкъыхиукIащ щысхьыншэу си гущхьэм». Абы щыдыхьэшхыу хьэдэ къупщхьэхэр мэуджыр. Я гъуахъуэ макъым щIылъэр игъэзджызджу. Шиндерганнэ, Орландини, Карл Мооррэ Ринальдинрэ Ахэрат щхьэр яхуэзгъэщхъыу, Сыт щыгъуи къызытесхыр щапхъэ. Си лъагъуныгъэми, уеблэмэ, Ахэрат гъуэгу гъэлъагъуэу щысхуэблэр; Хъыджэбз тхьэIухудым и теплъэм Гухэлъ мафIэр къызэщIигъаплъэрт. Ар фIыуэ слъагъурт сынэщхъейуэ, сыгууэщIу И жэуапхэм къыщакъутэкIэ си гущIэр, Псэ ешыкъуар, кIэзызу си Iэпэр, СфIиIэбэрт нэгъуэщIхэм я жыпым. Хьэл мыгъуэ схуэхъуар щызыхэзмыным Властым щIидзащ сигъэшынэу. ИрислъэщIыжыну и нэпсыр зэшыгъуэм, Бэлътокухэрт нэхъыбэу къэздыгъур. Сыкъаубыдри, къызамыту кIуапIи жапIи, Лъэхъуэщ кIыфIыр схуащIыр увыIэпIэ, Сыкърагъэлыну а си емынэ узым, Егугъупэу абы къыщызэIэзэрт. ЗгъэтIылъакъым си мастэ-Iуданэр, Лъагъуныгъэм игъэплъызу си нэр, Сыздэщысым, къысхуокIуэри Ринальдэ и ныбжьыр, Си псэр и ужьым иту ирешажьэ. Къыщодыхьэшхри хьэдэ къупщхьэхэм я джэгур, КъахокI ещанэр, зэщIэцIэлауэ и нэгур: ЩIасэлI пажэхэм я ролхэр згъэзащIэу, КъысфIащауэ сценэм и пащтыхь. ЖысIэрейт «Си дахэ!» си гурыщIэр ТхьэIухудхэм яхуэсщIу лъэгущIыхь. Сы- Мортимерт, къыспэхъун щымыIэу, ГурыщIэ пщтырыр Марие хуэIулэу, Ауэ пщащэм и гур къысхуэщIыIэт, КыгурымыIуэу си гухэлъыр зэрыхуэблэр. СыкIийрт куэдрэ, а узыр схуэмышыIэу: «Тхьэ пэлъытэу си Мария!» - жысIэу. РолкIэ зэрысщIыпхъэм хуэмыдэу, Къамэр гущхьэм хэсIужащ куу дыдэу». Хьэдэ къупщхьэхэр зэщIодыхьэшхэ ауану, Иджы абыхэм къахокIуэтыкI еплIанэр: Профессорым, къиувауэ псэлъапIэм, ЖиIэ делагъэхэм сагъэжеят, слъагъуу пщIыхьэпIэ. Си дежкIэ минкIэ нэхъ тхъэжыгъуэт КъыщыскIухьыну хадэм, абы и пхъур сщIыгъуу. КъысхудэгуфIыкIырт ар щхьэгъубжэм Епэр къэгъагъэу, мелыIыч тхьэхуу, Гудзакъэншэу къыпысча гъэгъар зэрыхуэлэжым Сеплъырт, зыкIи ар къысфIэмыIуэхуу. Есхащ нэлат къулей щыкIахэм, ЦIыхубзхэми есхри нэлат, Псоми я фалъэм щхъухь яхухэскIат,- Арэзыуэ къысщытхъуащ Ажалыр: «Гурыхьщ, си къуэш, къэбгупсыса Iэмалыр!» Абы и жэуапу мэдыхьэшх хьэдэ къупщхьэхэр, Етхуанэр къахокIуэт, щхьэпылъэ кIапсэр къыфIэлэлу и щхьэм: Зигъэпэкъыу шагъырым зыдефэм, Зыщытхъужт егъэлеяуэ графыр: «Къулейщ си унэ уардэр, Бгъуэтынукъым сипхъу тхьэIухудым хуэдэ», Сыхуейкъым зыкIи сэ уи унэ уардэм, Уипхъу тхьэIухудыр сиIэ закъуэм, псори содэ. IункIыбзэ етакIэ ихъумэрт графым ахэр, ТемыплъэкъукIыу къэрэгъулхэр, хьэхэр. Ауэ си дежкIэ ахэр зыри мыгугъу Iей, Сэрейм изоупсейри си пкIэлъейр, Сыдохьэ пщIантIэм, и щхьэгъубжэм тхьэIухудым Сыщыбгъэдыхьэм зыхызохыр зыгуэр шхыдэу: «Сыт къыщыплъыхъуэр графым и унэм? ХъугъуэфIыгъуэ – абы хуеижщ езы зиусхьэныр»! Си лъакъуэр еубыд къэгубжьа зиусхьэным, Къызэхуожэсыр унэIутхэр! Сыт схуэщIэнур? «СыдыгъуакIуэкъым сэ, ахъшэ къэзмылъыхъуэ- Сызыхуей закъуэр графым и пхъурщ!» ПщIэншэу куэдрэ сайлъэIуащ, сыкIиящ сэ, Ауэ псынщIэу къагъэхьэзыращ я кIапсэр. Дыгъэр къыщIэкIащ, къухьэжащ махуищкIэ, Сэ иджыри къэс сыфIэлъщ, жьым сыщIиупскIэу». ЗэщIодыхьэшхэ хьэдэ къупщхьэхэм я джэгур, КъахокI еханэр, зы щхьэ гуэр илъу и Iэгум: «Лъагъуныгъэм кърисыкIыу си гущхьэр, Фоч къасщтэри сыкIуащ а махуэм мэзым, Къуаргъхэр си щхьэщыгум щыуфэразэт, ЗэрыгъэкIийуэ: «Пыгъэху и щхьэр!» «КъыщызукIынщи зы тхьэрыкъуэ мэзым, Хуэсхьынщ фIыуэ слъагъу хъыджэбзым»,- Апхуэдэу сегупсысу, сыпхокI жыжьэ, КъэзукIынур чыцэм къыщызэжьэрт. Хэт абдеж щыбзэрабзэр? Тхьэрыкъуэ? ТIэуней къэзукIынуи ирикъуу? Фочыр хьэзыру сыбгъэдопщхьэ щэхууи, Къызолъагъур си тхьэрыкъуэ пщэхур. Си лъагъуныгъэр! Ар щIыгъущ нэгъуэщIым IэплIэ гуащIэ дыдэхэр зэхуащIу... Фочауэ, мис иджы ублэмыукI,- КIакхъур щIызочри, пщащэр къызоукI! УкIкIэ ящIауэ си хьэкумэр, ЩхьэпыупщыпIэм сашэрт хуэму. Къуаргъыжьхэр щоуфэразэ си щхьэм: ЗэрыгъэкIийуэ: «ПывупщI и щхьэр!» Хьэдэ къупщхьэхэр мэдыхьэшх зэрыгъэкIийуэ, Иджы я пащхьэм къиуващ езы пшынауэр: Куэд щIауэ фIыуэ ялъэгъуащ си уэрэдыр, Ар жесIэу щытыгъащ си тхьэIухудым. Ауэ, гу жэуапыншэр щыкъутам и деж, Пшыналъэ налъэри зэпоудыж». Я дыхьэшх макъым игъэзджызджу уэгур, Хьэдэ къупщхьэхэм щIадзэж аргуэру джэгум. Члисэм фIэлъ сыхьэтыр ину Жэщыбгым и хъыбарегъащIэу Къыщеуэм хьэдэхэр дэгъуэлъхьэжахэщ бэнхэм.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "pages.txt" }
*** Мо пщIантIэм дэт сабийхэм Сахэхьэу садэджэгуарэт! Еууей! Абыхэм я дунейм Сыхуэлъагъуэджэщ, сыбалигъщ Сыздагъэджэгужынукъым. *** Си адэр дунейм ехыжу дэнэ кIуэжами сщIэкъым… БэуапIэ дымыгъуэтыжу Дэ тIури зы жэхьэнмэ Дыздыхэмыту узиIэ? *** Ярэби, сигу, зыкъэщIэжыт! Уи фIэщ зэрымыхъур сощIэ, Ауэ мы псалъэ къомым Тхьэм уфIигъэлIыкIыну Зы закъуэи хэмытыр пэжкъым. *** Дзы усыным удехьэх Мыр фIыкъым, модрейр щIагъуэкъым Ауэ щыхъукIэ, егупсысыт Апхуэдиз хэпщIыкIыу дунейм Уэ узищIыс ущыгъуазэж? *** ТепыIэжыкIэ ищIэкъым… Си гугъэмкIэ, ди зэманыр Кхъуафэжьей гъуанэращ зэщхьыр Хы сыджхэм ящхьэдэхыфкъым Iуфэми бгъэдэкIагъэххэщ. *** Уигу пымыкIыу ара? УхуеплъэкIыну къилэжькъым Мы ди дунеижь кунэфым Уи щхьэ ухуемыплъэкIи Нэхъ укъелынкIи хъунщ. *** КIыфIыр щхьэщыкIуэтащ… Псэм и уафэгум мазэр Изу къыщызэщIоблэ КъуэхьэпIэ лъэныкъуэ къуршхэм ЯхуокIуатэри яхуокIуатэ… *** СыпIащIэу нэхумкIэ сежьат Сэр дыдэм сщIэкъым дэнэми Иужьым къызгуроIуэж Пшэм сигъэбэлэрыгъат Балий гъагъэу фэ зытригъауэри. *** «Хэт япэ дунейм ехыжми Дзей зыкъыщытхуищIыжыну ДыздекIуэлIэжыну щIыпIэм...» - СакъыкIэрыхуати, тхьэрыIуэр Сыту гукъутэу къэсщIэжа! *** Си хьэщIэ псори къуршыщхьэм Дэсшейуэ балий гъагъэхэм Езгъэплъыну си мурадкъым Сэ езым къысхуэгъэскъым Сыти схуэхъухэм сащыхуэзэнур. *** Закъуэу, къудамэи пымыту Губгъуэм ит жыг лъэдий джафэр ЙофIэкI гъащIэр иухыжым ЗдэIэпхъуэжыну дунейр И гум щызымыгъафIэфым… *** Уэлбанэщ, аргуэру къыпхож Си пщыIэжьу бгъэныщхьэ хъарым Джэду гъэпскIам сырещхьщ Ауэ здыжыну сыпIащIэкъым Хэт ищIэрэ, мазэр къыкъуэкIмэ... *** ГъуэгуанэщIэ сытехьэу сощIри А уэрэ сэрэ, уэздыгъей, НэIуасэ дыщызэхуэхъуа ЩIыпIэр сыбгынэу сежьэжмэ Закъуэныр къыптехьэлъэну?
{ "source": "adygabza.ru", "id": "pahkjl.txt" }
Аслъэнымрэ хьэмаскIэмрэ ЗэзыдзэкIар Нало Заурщ Лондон хьэкIэкхъуэкIэ щагъэлъагъуэрт, еплъыпщIэу Iахырт ахъшэ, хьэ е джэду – абыкIэ хьэкIэкхъуэкIэр ягъашхэрт. Йоуэри, зыгуэрым игу къохьэ хьэкIэкхъуэкIэхэм еплъыну; уэрамым зы хьэмаскIэжь цIыкIу къыщеубыдри ехь хьэкIэкхъуэкIэщым. Ар еплъыну ирагъэхьэ, хьэмаскIэри Iах аби, аслъэным ирагъэшхыну и хъарым ирадзэ. ХьэмаскIэм и кIэр и бэкъум деупщIэри, хъарым и плIэнэпэм зыдеудыгъуэ. Аслъэныр абы бгъэдохьэри йопэм. ХьэмаскIэр щIыбкIэ тогъуалъхьэ, и фIалъэ цIыкIухэр къеIэтри и кIэжь тIэкIур егъэджэгу. Аслъэнри фIалъэкIэ мэIэбэри хьэмаскIэр къегъэувыж. Езы цIыкIури къыщолъэтыж аби, аслъэным кIэбдзкIэ къыхуоув. Аслъэнми зэпеплъыхь ар, и щхьэр сэмэгумкIэ игъазэу, ижьымкIэ къигъэзэжу, ауэ и гугъу ищIыркъым. ХьэкIэкхъуэкIэщыр зейм лы къихьри аслъэным къыщритым, абы зы Iыхьэ къыгуитхъщ аби, хьэмаскIэм къыхуигъэнащ. Жэщ хъури, аслъэныр гъуэлъыжа нэужь, хьэмаскIэр абы бгъэдэгъуэлъхьащ, и щхьэр мобы и фIалъэм трилъхьэри. Абы лъандэрэ хьэмаскIэмрэ аслъэнымрэ а хъарым зэдист. Аслъэныр ебы еIусэртэкъым, и Iусыр ишхт, хьэмаскIэр зыбгъэдигъэлът, зэзэмызи дэджэгут. Зэгуэрым зиусхьэн гуэр хьэкIэкхъуэкIэщым къэкIуауэ и хьэмаскIэр къецIыхуж. ХьэкIэкхъуэкIэщыр зейм жреIэ: мы хьэ цIыкIур сысейщи къызэтыж! – жеIэри. Иритыжыну хуожьэ, арщхьэкIэ, хьэмаскIэр хъарым кърашыжыну щеджэкIэ, аслъэным зыкъегъэубэлэц, къажьыхолъэ. Мис апхуэдэу илъэс псокIэ зы хъарым зэдисащ аслъэнымрэ хьэмаскIэмрэ. Илъэс дэкIауэ хьэмаскIэр сымаджэ мэхъури малIэ. Аслъэным шхэн щегъэтыж, хьэмаскIэм йопэм, йобзей, фIалъэкIэ йоIусэ. Ар зэрылIар къыщыгурыIуэм, аслъэныр къыдэлъеящ, зыкъигъэубэлэцащ,и кIэмкIэ и джабитIыр зэприхулыкIыжу щIидзащ, хъар блыным зридзу хъэлъкъыр, лъэгур икъуу къригъэжьащ. Махуэ псор зиукIыжу, зэгъапIэ имыгъуэту, гъуахъуэу игъэкIуащ; итIанэ хьэмаскIэм и хьэдэм бгъурыгъуалъхьэри зиущэхужащ. ХьэмаскIэ лIар Iуахыжыну хуежьа щхьэкIэ зы цIыху бгъэдигъэхьакъым. ХьэкIэкхъуэкIэщыр зейм игугъащ нэгъуэщI хьэмаскIэ къыхуихьмэ аслъэным и гуауэр щыгъупщэжыну, икIи зы хьэ гуэр хуриутIыпщхьат и хъарым; ауэ ар напIэзыпIэм зэпкъритхъащ аслъэным. Абы иужькIэ хьэмаскIэм и хьэдэм фIалъитIымкIи IэплIэ хуищIри, махуитхукIэ щылъащ апхуэдэу. Етхуанэ махуэм аслъэнри лIащ.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "paj.txt" }
Зи щхьэцыр дыщафэ бзылъхугъэ ЗэзыдзэкIар Къып (Ныбэжь) Таисэщ 1 Пэжыр жысIэмэ, сэ тхакIуэ сыхъуну сыхуеят. Ауэ си нэгу щIэкIа Iуэхугъуэу зи гугъу фхуэсщIыжынум иужькIэ инженер-геологрэ ухуакIуэрэ сыхъуащ. Си тхылъаджэхэм фимыгугъэ: си щхьэ кърикIуахэр къызэрысIуэтэжым щхьэкIэ а Iуэхугъуэхэр сэркIэ блэкIа жыжьэм къыхэнауэ. Уеблэмэ нэхъыбэ сигу къэзгъэкIыжыху, абы щыгъуэ къэхъуауэ щытахэм нэхъ куууэ сыхохьэж. Сыщогугъ зэадэзэкъуэ зэхущытыкIэхэм къагъэщIа щIыхьэпIэ-щIэкIыпIэхэм я щэхухэм фэри си гъусэу фыныздыхыхьэну. 1985 гъэм дэ Бешикташ и Iэгъуэблагъэхэм дыщыпсэурт, Бзииху хадэм пэмыжыжьэ унэ зэтетхэм ящыщ зым. Си адэм «Хьэйят» зыфIища уней хущхъуэ щапIэ цIыкIу игъэлажьэрт. Тхьэмахуэм зэ хущхъуэ щапIэр нэху щыху ди адэм игъэбыдэжыртэкъым, езыри къыщIэнэрти щIэст. Апхуэдэ пщыхьэщхьэхэм сэ абы гъуэмылэ хуэсхьырт. Сэ сфIэфIт хущхъуэмэ зэмылIэужьыгъуэхэр зыщIэсшэу а тыкуэн цIыкIум зэманыр щызгъэкIуэну, дапхъэ къуагъым деж щыс си адэм – цIыхухъу зэкIуж щхьэпэлъагэм – и пщыхьэщхьэшхэр мыпIащIэу ишхыху. Ноби, илъэс щэщIым щIигъу дэкIами, си ныбжьыр илъэс 45-рэ хъуами, сэ япэми хуэдэу сфIэфIщ хущхъуэмэ къызыкIэрих пасэрей тыкуэн дапхъэхэр. «Хьэйят» хущхъуэ щапIэм щэхуакIуэхэр и куэдтэкъым. Си адэр хэсу къыщынэ жэщхэм абы зэманыр игъакIуэрт къыздепхьэкI хъууэ а лъэхъэнэм къежьагъащIэ телевизор цIыкIум еплъу. Зэзэмызэ сэ зэхэсхырт си адэр лъагъунлъагъу къыщIыхьа и ныбжьэгъу гуэрхэм макъ хуэмкIэ зэрепсалъэр. Сэ сыкъыщалъагъукIэ, абыхэм я псалъэмакъыр зэпагъэурти, сэ стеухуауэ зыгуэрхэр жаIэрт, къысщытхъурт, адэм хуэфащэ къуэ къызэрыщIэтаджэр къыхагъэщырт, си еджэным къыщIэупщIэрт: сыт хуэдэ классым сыкIуэми, еджапIэр фIыуэ слъагъуми, ар къэзухым сызыхуеджэну IэщIагъэри – псори ящIэну хуейт. И ныбжьэгъухэр къыщыщIыхьэкIэ, си адэр пIейтей зэрыхъум гу лъыстэрти, зызмыгъэгувэу сыкъызэрыщIэкIыжыным сыхуэпIащIэрт, ар зэрышха фалъэхэр зэщIэскъуэжырти, унэм сыкIуэжырт, щIыб уэздыгъэхэм я лъапэ нэхум сыхэту къэрэгъэш жыгышхуэхэр зэгъэкIэкIа уэрамхэмкIэ. Сынэсыжа нэужь си анэм жесIэртэкъым адэм и тыкуэн цIыкIум и ныбжьэгъухэм ящыщ гуэр къызэрыщIыхьар. СщIэрт ар абы и гуапэ зэрымыхъунур, сыту жыпIэмэ, си анэр шынэрт абыхэм я зэранкIэ и щхьэгъусэр аргуэру Iуэху зэIумыбз гуэрхэм хэхуэнкIэ е зы щхьэусыгъуэ имыIэу аргуэру дыкъигъанэу ар ежьэжынкIэ. А псом къыдэкIуэуи сэ къызгурыIуат си адэ-анэр псалъэмакъыншэу зэ-щызыгъэхьэр политикэ Iуэхухэм зэрамызакъуэр. А тIур зэман кIыхькIэ щызэмыпсалъэ къэхъурт, щIызэщыхьам и щхьэусыгъуэри мынэрылъагъуу. ФIыуэ зэрымылъагъужу арагъэнт. Сэ зыхэсщIэрт си адэр нэгъуэщI цIыхубзхэм зэрыдахьэхыр, цIыхубзхэри абы къызэрыхуэмыхейр. Хамэ бзылъхугъэ ар зэрыкIэлъыкIуэр къызгурыIуэну хуейти, си анэм зэхызигъэхым фIэфIт зэзэмызэ и макъым зригъэIэтурэ си адэм щепсалъэкIэ. Сэ хуабжьу къыстехьэлъэрт си адэ-анэм яку къыдэхъуэ псалъэмакъхэр, икIи, абы къыхэкIыу, сэ зыпэзубыдыжащ абыхэм сегупсысыныр. Иужь дыдэу си адэр хущхъуэ щапIэм щIэту щыслъэгъуар бжьыхьэ пшыхьу абы гъуэмылэ щыхуэсхьарт. Сэ абы щыгъуэ лицейм и япэ классым сыщеджэрт. Зэрихабзэу, си адэр телевизор цIыкIум еплъу щыст. Тыкуэн дапхъэм и кIыхьагъкIэ щызэбгрыгъэувыкIа фалъэхэм зыхуейр кърихыу ар шхэуэ щысыху, сэ щэхуакIуэ зы-тIум Iуэхутхьэбзэ яхуэсщIащ, зылъыхъуэ хущхъуэхэр естри, и уасэу къызата ахъшэр кассэм илъхьащ. Унэм сыщыкIуэжым, сыкъызэплъэкIыжри си адэм сыIуплъащ – ар бжэщхьэIум тету къысхуэгуфIэрт сэлам къызихыжу и Iэр къысхуищIырт. Пщэдджыжьым си адэр унэм къэкIуэжакъым. Ар къызжезыIар си анэращ, шэджагъуэ нэужьым еджапIэм сыкъикIыжауэ. Абы и напIэхэр къэпщат, куэдрэ зэрыгъар къапщIэу. Сэ къысщыхъуащ си адэр тыкуэн цIыкIум щIашу полицэ IуэхущIапIэм яшауэ, апхуэдэ япэм зэ къэхъуауэ щытати. Абы щыгъуэ си адэм хьэзабыр ирагъэшэчат ток зрикIуэ кIапсэхэмкIэ къеуэурэ, къищынэмыщIауэ фэлэкъэми дагъэкIат… Илъэсибл хуэдиз ипэкIэ си адэр зэ апхуэдэу кIуэдат, унэм къыщигъэзэжари илъэситI дэкIа нэужьщ. Ауэ мы зэм си анэм и зыщIыкIэр нэгъуэщIт: ар иджы си адэм хуэгузавэртэкъым, атIэ хузэгуэпырт. Абы и гугъу щищIкIэ, зэрыбампIэр нэрылъагъуу жиIэрт: «Езым ещIэж зэхищIыхьхэр!» Абы ипэкIэ къэрал ухуэкIэр зауэлIхэм залымыгъэкIэ зэрахъуэкIа къудейуэ, си адэр тыкуэным щIашу щагъэтIысам щыгъуэ, си анэр куэдрэ пыхьэу щысат икIи зэпымыууэ жиIэрт си адэр хахуэу, сэ абыкIэ сыгушхуэн хуейуэ, провизор Мэжид и гъусэу хущхъуэ щапIэр игъэлажьэрт, дызыкъуэпсэукIын ахъшэ къэзыт IуэхущIапIэ тIэкIур си адэр къэкIуэжыху къимыгъэувыIэну хущIэкъуу. Сэри зэзэмызэ Мэжид и кIэпхын хужьыр зыIуспхэрти, абыхэм садэIэпыкъурт, провизор сыхъуну къысхуамыгъэлъагъуэ пэтми. Си адэм и хъуэпсапIэр сэ щIэныгъэлI сыхъунырт. Ауэ иужьу си адэр щыбзэхам щыгъуэ си анэм хущхъуэ щапIэр къыфIэIуэхужакъым. Мэжиди, тыкуэным щIэта адрей дэIэпыкъуэгъухэми я гугъу ищIакъым, IуэхущIапIэр зэтриIыгъэнуи хуеякъым. Абы къыхэкIыу сэ сегупсысын хуей хъурт си адэр мы зэм «зытекIуэдар» нэгъуэщI щхьэусыгъуэу. Ауэ сытыт я мыхьэнэр лъабжьэншэ гупсысэхэм? Си адэр пIалъэ кIыхькIэ кIуэдауэ къыщIэкIащ. АпхуэдизкIэ куэд дэкIати, абы и нэкIур си нэгу къысхущIэ-гъэхьэжыртэкъым. Уэздыгъэр напIэзыпIэкIэ ягъэункIыфIу щIагъэнэжа нэужь, уи нэхэм зыри ямылъагъужу зэрыхъум ещхь сыхъуауэ къысфIэщIырт апхуэдэм деж. Пщыхьэщхьэ гуэрым, си закъуэу Бзииху хадэм хуэкIуэ уэрамым Iуэхуншэу срикIуэу, къэслъэгъуащ «Хьэйят» хущхъуэ щапIэм и бжэхэм IункIыбзэ къэбышхуэ етауэ. Абы иужькIэ куэд дэмыкIыу си анэм жиIащ дызэрыпсэун ахъшэ къызэрытхуэмынар. Си щхьэ IуэхукIэ сэ абы щыгъуэ ахъшэу згъэкIуэд щыIэтэкъым, зэзэмызэ кином сызэрыкIуэмрэ щIакхъуэ пIащIэ шыхьам лы тIэкIу дэлъу къызэрысщэхумрэ хыумыбжэмэ. Си еджапIэр Кабаташ хьэблэм щыIэти, абы лъэсу сыкIуэрт, сыкъэкIуэжырт. Языныкъуэ си ныбжьэгъухэм комиксхэр зэрыт тхылъ цIыкIухэр къащэхурти, е ящэжырт, е пщIэ къыIахыурэ ирагъэплъырт. Ауэ сэ сыхуейтэкъым абыхэм хуэдэу зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм кинотеатрым къыщIэкIыжхэр згъэхъуу сыдэтыну. 1985 гъэм и гъэмахуэр сэ щызгъэкIуащ Бешикташ щыIэ бэзэрым тет «Дениз» тхылъ тыкуэн цIыкIум сыщылажьэу. Си къалэнхэм хыхьэрт тхылъ зыдыгъу сабийхэмрэ нэгъуэщI еджакIуэхэмрэ си нэIэ ятегъэтыныр. Зэзэмызэ тыкуэныр зей Дениз и гъусэу абы и машинэмкIэ дэ Чагалоглу дыкIуэрт тхылъ къэтшэну. Дениз гу лъитат тхылъыр зытхам и цIэри ар къыщыдагъэкIа тхылъ тедзапIэм и цIэри фIыуэ сигу зэризубыдэм, абы къыхэкIыуи пщIэ къысхуищIырт, унэм сыщеджэну тхылъ гуэрхэр къэсщтэнуи хуит сищIырт. А гъэм и гъэмахуэм сэ тхылъ куэд щIэзджыкIат: щIыпIэ жыжьэхэм зекIуэ щыIахэм ятхыжахэр, Жюль Верн, По Эдгар Аллан сымэ я IэдакъэщIэкIхэр, усэ тхылъхэр, уэсмэн пащтыхьхэм я тхыдэм теухуахэр, уеблэмэ пщIыхьэпIэхэм къарыкIхэр щызэхуэхьэса зы тхылъ цIыкIуи къыхэхуат абы щыгъуэ сызэджахэм. Мис а тхылъым ита зы тхыгъэ кIэщIым къыпэщыту къыщIэкIащ къэкIуэну си гъащIэр зэрыщыту зэрихъуэкIыныр. Тыкуэным зэзэмызэ къыщIыхьэ и ныбжьэгъу тхакIуэхэм сакъыщригъэцIыхукIэ, Дениз абыхэм тхакIуэ сыхъуну яжриIэрт. ЗэрымыщIэкIэ къызжьэдэхури, сэ езым жесIат апхуэдэ хъуэпсапIэ сызэриIэр икIи абы лъандэрэ Дениз сытригъэгушхуэрти, си фIэщ хъужу хуежьат тхакIуэ сызэрыхъунур. (къыкIэлъыкIуэнущ)
{ "source": "adygabza.ru", "id": "pamuq.txt" }
Сократ зеухеиж Къуаншэу къалъыта нэужь Сызыгъэкъуаншэхэр афиндэс щхьэмахуэхэм къызэрыфщыхъуар сщIэкъым, ауэ сэ сыкъапщтэмэ, абыхэм жаIэм седаIуэурэ си цIэр сщыгъупщэж пэтащ, апхуэдизкIэ хэкъузауэ псалъэхэти. ИтIани, жыпIэпэмэ, пэж закъуэ къажьэдэкIакъым абыхэм. Ауэ сыт хуэдизыпцI яупсами, псом нэхърэ нэхъ сыкъэзыгъэуIэбжьар жьакIуэу сызэрыпсалъэмкIэ фызгъэбэлэрыгъыным фызэрыхуагъэсакъырщ. ЖьакIуэу сызэрымыпсэлъэфыр наIуэ къызэрыхъуу къызэрыщIэщынухэм зэрыримыгузавэр нэхъ емыкIуу къысщыхъуащ, кIуэ, пэж жызыIэр дахэу псалъэу къамылъытэмэ. Апхуэдэу егупсысхэмэ, сраакъылэгъущ. Абыхэм, къытызогъазэри, зы псалъэи пэжу жаIакъым, сэ-тIэ ар апхуэдэу зэрыщытыр гугъэзагъэу фи пащхьэ нислъхьэнщ. Ауэ, ЗевскIэ соIуэ, афиндэсхэ, псалъэ хэIэтыкIакIэ гъэщIэрэщIа мы цIыхухэм я псэлъэкIэ цIугъэнэхэм хуэмыдэнукIэ сэ зыхывэзгъэхынур; япэу къыпIэрыхьэ псалъэхэм къыхэщIыкIа псэлъэкIэ къызэрыкIуэу щытыну фIэкIа! Сыту жыпIэмэ, сэ сощIэ жысIэнур зэрыпэжыр, нэгъуэщI зыгуэр зыхэфхынуи фыщымыгугъ. Си ныбжьми къекIужкъым, щхьэмахуэхэ, щIалэщIэхэм ещхьу псалъэ зэтегъэсакIэ фи пащхьэ сынихьэну. Аращи, афиндэсхэ, сыныволъэIу си щхьэ сыкъызэрыщхьэщыж псалъэхэр бэзэр утыкуми нэгъуэщIыпIэхэми сызэрыщыпсалъэу зэхэфхам ещхьу къыщIэкIмэ, фымыгъэщIагъуэ икIи фымыIэуэлъауэ абы щхьэкIэ. Iуэхур зэрыщытращ: илъэс 70 сыхъуу си гъащIэм япэу хейащIэ пащхьэ сиувау аращи, мыбы щызекIуэ псэлъэкIэри мытIэкIуу сихамэу къыщIэкIащ. Си хэхэсынри сызэрыцIыкIурэ сызэса бзэм сызэрытетынури къысхуэвгъэгъуну сызэрывэлъэIум хуэдэкъэпсу, захуагъэм фытету пэжыр сэ езым си хабзэкIэ, ар щIагъуэуи мыщIагъуэи щрырет, жызывгъэIэну сыныволъэIу, жысIэр пэжрэ пцIырэ фIэкIа, нэгъуэщIым фемыплъу. Аракъэ хейащIэм и къалэнри. Утыкум иувам и къалэныр пэжыр жыIэнрауэ зэрыщытыххэщи. Захуэу къысфIощI, афиндэс щхьэмахуэхэ, япэ щIыкIэ нэхъ пасэу къыстралъхьагъа къуаншагъэр зытесхыжрэ итIанэ иужьрей къуаншагъэхэмрэ сызыгъэкъуаншэхэмрэ защызухеижмэ. Мыбы ипэкIи куэдым сагъэкъуаншэт сэ, арщхьэкIэ пэж закъуэ жаIакъым абыхэми. Абыхэм нэхъ сагъэгузавэ Анитрэ и ныбжьэгъухэмрэ нэхърэ. Мыхэри шынагъуэщ, щхьэмахуэхэ, ауэ ахэр нэхъ шынагъуэжщ! Фызэрысабий лъандэрэ фигу къысщагъэкI абыхэм, "модэ Сократ жаIэри лIы Iущ гуэр щыIэщ уафэми щIылъэми щекIуэкIыр зэIипщIыкIрэ пцIыр пэжу къыщIригъэдзу" жаIэри. А хъыбарыпцIыр зыгъэIуахэращ, афиндэсхэ, сэ пцIым я нэхъ Iейр къыстезылъхьэр, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абыхэм къедаIуэхэм къафIощI апхуэдэ къэлъыхъуэныгъэ езыгъэкIуэкIым тхьэ къарухэр къабыл имыщIу. КъинэмыщIауэ, ахэр езыхэр куэд мэхъу, сызэрагъэкъуаншэрэи куэд щIащ. Фэ ахэр къыщывэпсалъэ ныбжьым фысабийти, жаIэр занщIэу фи фIэщ хъут. Иныкъуэхэри щIалэщIэт. Сытми, нэщIыбагъкIэт сызэрагъэкъуаншэр, мысэр мыутыкуу. Псом нэхъейращи, я цIэи я щхьэи къыпхуиIуэнукъым абыхэм, комедиехэр зэхэзылъхьахэм я гугъу умыщIмэ. Фыгъуэм, бзаджагъэм, е езыхэм гущыкI къызэрысхуащIам къыхэкIыу фэри фигу къысщызыгъэкIахэм я пащхьэ зыщыбухеижыныр нэхъ гугъужщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ахэр мыбдежи къыпхуэшэнукъым, жаIари зэрыпцIыр къыпхущIэгъэщынукъым. Ныбжьхэм уезауэ е къыппэмыпсалъэм уедауэ хуэдэщ ар. Аращи, акъылэгъу фыкъыздэхъу сызыгъэкъуаншэхэр лIэужьыгъуитI зэрыхъумкIэ: зы гупым иджыпсту сагъэкъуаншэ, адрейхэм – куэд щIауэ... Зи гугъу сщIа къудейхэращ ахэр. Арэзы фыкъыздэхъу япэ щIыкIэ куэд щIауэ сызыгъэкъуаншэхэм я пащхьэ зыщызухеижын зэрыхуеймкIэ, абыхэм нэхъ пасэу щIадзащ икIи иджырейхэм нэхърэ нэхъыбэ къыстралъхьащи. Хъарзынэщ. НтIэ, афиндэс щхьэмахуэхэ, зыухеижыпхъэщ икIи куэд щIауэ къыстралъхьэ пцIыр зэрыпцIыр, зэрыхъукIэ нэхъ щIэх къыщIэгъэщIыпхъэщ. Дауи, нэхъ къэсщтэнт си зыухеижыкIэр къызэхъулIэну, ар фи дежкIи си дежкIэи нэхъыфIу щытмэ. Ауэ гугъу хъуну къысфIощI ар, а Iуэхур зэрымытыншыр сымыщIэу щыткъым. А лъэныкъуэр Тхьэм зэрыжиIауэ ирехъу, хабзэр гъэзэщIапхъэщ, зыухеижауэ. КъэдвгъэщIэжыт си цIэр IейкIэ зыгъэIуа Мелет тегъэщIапIэ ищIу щIэтхьэусыха къуаншагъэр. Сыт хуэдэ псалъэхэмкIэ пцIы къызэрыстралъхьар, къыстезылъхьахэм? Абыхэм я щыхьэт псалъэхэр къэхьын хуейщ, мысаигъэ къыуэзыпэсхэм зыращI дыдэм хуэдэу: "Сократ хабзэм йобакъуэ уафэмрэ щIылъэмрэ щызекIуэр зэхигъэкIыурэ пцIыр пэжу къыщIригъэдзыу, адрейхэри абы ирегъасэ". Мис апхуэдэ гуэрщ ахэм жыхуаIэ къуаншагъэр. Фэри флъэгъуащ Сократ гуэр хэту Аристофан игъэува комедиер: ар хьэуам къыщызокIухь жеIэри матэм исщ, къызгурыIуэну Iэмал зыхуэзмыгъуэта гуэрхэр къебжри. Мыр щIыжысIэр а лэжьыгъэм зыгуэр дэзгъуэу хьэмэрэ абы ехъулIэныгъэ щызиIэхэр згъэпуду аракъым. Ар гуэрымкIи симыгъэкъуаншарэт Мелет. ИтIани, афиндэс щхьэмахуэхэ, сэ а псом зыри хузиIуэхукъым. Щыхьэту фэр дыдэхэр фыкъызогъэув, езыр-езыру зэхрырагъэкIыж ар сэ жысIэ хабзэхэр зэхэзыхахэм. Апхуэдэ куэд фхэтщ фэ. Зыр адрейм феупщIыж а къыспатхэ Iуэхухэм сытепсэлъыхьарэ сытемыпсэлъыхьарэ, итIанэ къывгурыIуэнущ адрей къыстралъхьэхэри пэжрэ мыпэжрэ. А къомым ищIыIужкIэ гъэсэн къасщтэрэ абыкIэ ахъшэ къэзлэжьу зэхэфхамэ, ари пэжкъым, ар IуэхуфIу къэслъытэу щытми. Псалъэм папщIэ, зыгуэрым Леонтием щыщ Горгий, Кеос щыщ Продик, е Элидэ щыщ Гиппий хуэдэу цIыху хуэгъасэмэ. Абыхэм, щхьэмахуэхэ, къалэхэр къызэхакIухьурэ щIалэхэр къытрагъэхьэ я гъэсакIуэхэр къагъанэу езыхэм я деж пщIэкIэ зыщагъэсэну къеувэлIэну, фIыщIи хуащIу. Иджыри, зэрызэхэсхамкIэ, мыбы зы лIы еджагъэшхуэ щопсэу Парос щыщу. Гъуэгум зыгуэрым сыщыхуэзащ софистхэм псоми зэхэту иратам нэхърэ нэхъыбэ ахъшэ абы иритауэ – Гиппоник и къуэ Каллий. КъуитI иIэщ абы. ЖызоIэ: «Каллий! Уи щIалэхэр шыщIэу е шкIэуэ къалъхуамэ, абыхэм къыдалъхуар езыгъэфIэкIуэн гъэсакIуэ къахуэдмыщтэу хъунтэкъым шыхъуэу е мэкъумэшыщIэу. Ауэ ахэр щыцIыхукIэ, хэт къахуэпщтэну уи гугъэр ахэр бгъэсэн папщIэ? Хэт апхуэдэпщIэ зиIэр цIыхугъэмрэ цIыху хэтыкIэмрэ зэрыхищIыкIыр наIуэу? Абы уегупсыса къыщIэкIынщ къуэ бгъуэта иужькIэ? ЩыIэ апхуэдэ хьэмэрэ щымыIэ жызоIэри соупщI. «Ахьей, щыIэ», - жи. «Хэт хъуну?»-соупщI. «Эвен,-жи,- Парос щыщу, Сократ, минэу тху пIех». Арати, фIыщIэ хуэсщIащ а Эвеным апхуэдэ Iэзагъ зэриIэмрэ пуду зэрыригъаджэмрэ пэжмэ. Сэри зызгъэщIэгъуэнт икIи зызгъэпэгэнт апхуэдэ Iэзагъ сиIамэ. АрщхьэкIэ сиIэкъым, афиндэс щхьэмахуэхэ! Фщыщ гуэрым жиIэнкIи хъунщ: «Сыт Iуэху-тIэ уэ зепхуэр, Сократ? Сыт апхуэдизыпцI къыщIыптралъхьэр? Зыми ямыщIэ гуэр умыщIамэ, апхуэдизрэ къыптепсэлъыхьынтэкъым. КъыджеIэ зи Iуэху зепхуэр, нэгъуэщI къэдмыгупсысын папщIэ». Мис ар захуагъэу къызолъытэри сэри зэрысхузыфIэкIкIэ къывгурызгъэIуэну сыхэтынщ цIэрыIуэ сызыщIари пцIы къыстралъхьэн хуей щIэхъуари. ФыкъэдаIуэ-тIэ. Зыгуэрым сыгушыIэу къыщыхъуу щытми, шэч къытевмыхьэ жысIэр зэрыпэж дыдэм. ЦIэрыIуэ сыщIэхъуар, афиндэс щхьэмахуэхэ, къызыхэкIар Iущыгъэ гуэрщ, нэгъуэщIкъым. ЦIыху Iущыгъэ къыщIэкIынщ ар. Апхуэдэ Iущыгъэ сэ, пэжыр жыпIэмэ, збгъэдэлъщ. Ауэ иджыпсту зи гугъу сщIахэм цIыху акъылым къимубыд Iущыгъэщ ябгъэдэлъыр, зэрыжысIэну гущэри сщIэркъым. Сэ сыкъапщтэмэ, апхуэдэ Iущыгъэр къызгурыIуэкъым, нэгъуэщI зыгуэр жызыIэри захуэкъым, пцIы къыстрилъхьэн щхьэкIэ псалъэу аращ. Фэри фымыIэуэлъауэ, афиндэсхэ, тIэкIу гушхуауэ сыпсалъэу къыффIэщIмэ. Сэ си псалъэкъым жысIэнур, фэ езым фи фэщI хъу псалъэхэр щыхьэт фхуэсщIынщ. СызэрыIущым и щыхьэту, абы узэреджэнур Iущыгъэмэ, ар зищIысым теухуауэ Дельф щыIэ Тхьэр къыфхуэзгъэувынщ. Херефонт фцIыхукъэ-тIэ? Ар щыщIалэм сэри фэри ди Iэпэгъуу щытащ, фи гъусэу хэкур ибгынэри фи гъусэу къэкIуэжащ. ФщIэж къыщIэкIынщ ар IэубыдыпIэншэу, игу къихьар имыщIэнкIэ Iэмал имыIэу зэрыщытар. Арати, зэгуэрым Дельф кIуауэ тхьэгурымагъуэм мыпхуэдэ упщIэкIэ зыхуигъэзэну къыхэхъыжьащ. ФымыIэуэлъауэ жысIащ, щхьэмахуэхэ! Сытми, еупщIащ сэ нэхърэ нэхъ губзыгъэ зыгуэр щыIэрэ щымыIэрэ. Пифиеми нэхъ Iущ щымыIэу къыжриIащ. Езыр лIами мес и къуэшыр щыхьэтщ. Феплъ иджы ар щIыжысIэм. ПцIы къыстралъхьэн хуей щIэхъуар къывгурызгъэIуэну сыхэтщ. Ар зэхэсха нэужь, сегупсысын щIэздзащ: сыт Тхьэм жиIэну зыхуеяри жиIам къригъэкIри? Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, сэ Iущыгъэ зыдэслъагъужыххэкъым. НтIэ, сыт абы псом нэхърэ сынэхъ Iущу зэрыжиIам къригъэкIар? Абы пцIы хуэупсынукъым, ар къемызэгъщ абы и дежкIэ. Куэдрэ селIэлIащ абы, жиIэну зыхуеяр зыгурызгъэIуэну сыхэту. ИтIанэ, сытегушхуэри Iуэхур мыпхуэдэ щIыкIэу зэхэзгъэкIыну мурад сщIащ. Губзыгъэу ябж цIыхухэм языхэзым и деж сыкIуэри, иджы къыщIэзгъэщынщ тхьэгурымагъуэр, мис мыр нэхъ губзыгъэщ сэ нэхърэ, сэ сынэхъ губзыгъэу жыпIа щхьэкIэ, жыхуэсIэу сеувэлIащ. Арати, а цIыхум сыщыпкърыплъыхьым, и цIэ къидмыIуэнкIэ Iэмал имыIэу щыткъым абы, ауэ хужысIэну закъуэращи, - а слъэгъуар зыдэслъэгъуа цIыхур къэрал Iуэху зезыхьэхэм ящыщт, афиндэс щхьэмахуэхэ. Сытми, абы сыпкърыплъыхьа, сыдэуэршэра нэужь, къысщыхъуащ а лIыр куэдым губзыгъэу къафIэщI къудейуэ зэрыщытыр, псом хуэмыдэу - езым. Ауэ пэж дыдэу губзыгъэу убжыныр захуэтэкъым. Сэри и фIэщ сщIыну сыхэтащ абы губзыгъэу зыкъилъытэж щхьэкIэ, зэрымыгубзыгъэр. Абы къыхэкIыу, езыми абдеж щытахэми ягу къысщыкIащ. СыкъыщыIукIыжым си щхьэ сыхуэпсэлъэжт: мыбы нэхърэ сынэхъ губзыгъэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, тIуми фIы нэгъэсам зыри хэтщIыкIкъым. Ауэ абы, имыщIэ пэтрэ, ищIэу къыфIощI, сэращи - зэрызмыщIэр къызгуроIуэж. А тIэкIумкIэ сынэхъ губзыгъэнщ абы нэхърэ, зыгуэр сымыщIэу щытми, ар сщIэуэ къызэфIэзмыгъэщIу. Абы сикIри нэгъуэщI зыгуэрым деж сыкIуащ, нэхъ Iущу фэ зытетхэм ящыщу. АрщхьэкIэ слъэгъуар ардыдэращ. А зэманым щыщIэдзауэ сыкъалъагъу мыхъуу хъуащ абыи нэгъуэщI куэдми. Щымыхъум, чэзу-чэзууэрэ къызэхэскIухьын щIэздзащ. Гу лъыстэт ягу къызэрысщыкIым, си жагъуэ хъут ар икIи сыщыщтэт абы, итIани Тхьэм и псалъэр псом нэхъ къыпфIэIуэхун хуейуэ къысщыхъут. Тхьэм и псалъэмкIэ жиIэну зыхуеяр къызгурыIуэн папщIэ, щIэныгъэ зиIэу Iуа псоми я деж сыкIуэн хуейуэ къысфIэщIт. ИкIи, тхьэ соIуэ, афиндэсхэ, фэ пэж вжесIапхъэкъэ, мыпхуэдэ гуэр зыхэсщIащ. Iуэхур Тхьэм и унафэкIэ зэхэзгъэкIын щIэздза нэужь, нэхъ цIэрыIуэхэр акъылкIэ псом нэхърэ мынэхъ тхьэмыщкIэу пIэрэ жысIэ хъуащ. Адрей апхуэдэ дыдэу мыцIэрыIуэхэм хэлъэт нэхъ къаритауэ къыщIэкIт. ЩIыпIэхэр къызэрызэхэскIухьари жызмыIэжу хъунукъым, зы лэжьыгъэ гуэр згъэзащIэм хуэдэу, а псори - тхьэгурымагъуэм жиIар пцIыуэ къыщIэмыкIын папщIэ. КъулыкъущIэхэм иужькIэ усакIуэхэм я деж сыкIуащ гъыбзэи, лIыхъужь уэрэди, нэгъуэщI лIэужьыгъуэхэри зыусхэм я деж. Абдеж дыдэм абыхэм нэхърэ сызэрымынэхъ Iущыр щызэзгъэлъагъужын папщIэ. Нэхъ зэлIэлIауэ къысфIэщI я IэдакъэщIэкIхэр къыхэсхыурэ сеупщIхэт абыкIэ жаIэну зыхуеяхэмкIэ, Iущыгъэ гуэри къабгъэдэсхын си мураду. СоукIытэ, щхьэмахуэхэ, пэжыр сIуэтэну, ауэ сымыIуатэу хъунукъым. Сытми, зы псалъэкIэ жыпIэмэ, мыбдежым щыс дэтхэнэ зыми нэхъ IупщIыу зэпкърихыфынут усакIуэхэм ятхар езыхэм нэхърэ. Апхуэдэ щIыкIэу усакIуэхэм теухуауи зэман кIэщIым къэсщIар мыращ: Iущыгъэракъым ахэр зыгъэусэр, езыхэм къыдалъхуа гуэрщ тхьэгурымагъуэхэмрэ куэзырыдзхэмрэ ещхьу зэщIищтэрэ захуэмубыдыжу. Абыхэм фIы куэд жаIэ, ауэ зытепсэлъыхьыр езыхэм къагурыIуэжкъым. УсакIуэхэми зыхащIэр апхуэдэ гуэр си гугъэщ. Ауэ итIани гу лъыстащ усэ зэрахузэхэлъхьэфым щхьэкIэ, абыхэм цIыхуу щыIэм нэхърэ нэхъ губзыгъэу зэрызабжыжым, апхуэдэу щымыт пэтми. КъулыкъущIэхэм сазэрефIэкI дыдэмкIэ абыхэми сефIэкIыу къэслъытэу сакъыбгъэдэкIыжащ. ИкIэм IэщIагъэлIхэм я деж сыкIуащ. Си щхьэм теухуауэ сщIэр зыри зэрызмыщIэрат, ахэращи, фIы куэд зэращIэр къэсщIэну сыщыгугът. АбыкIэ сыщыуакъым: пэж дыдэу абыхэм сэ сымыщIэ ящIэт, абыкIэи ахэр нэхъ Iущт сэ нэхърэ. Ауэ, афиндэс щхьэмахуэхэ, абыхэми усакIуэхэм къащыщIар къащыщIт: я IэщIагъэм зэрыхащIыкIым къыхэкIыу, дэтхэнэ зыми адрей мэхьэнэ нэхъ зиIэхэри ищIэу зыкъыщыхъужт, а щыуагъэм а Iущыгъэ тэкIу ябгъэдэлъыр игъэкIуэдыжу. Арати, жаIам сегупсысурэ, сызэупщIыжт: сытыт нэхъ къэсщтэнур? Сызэрыщытым хуэдэу абыхэм я Iущыгъэи я акъылыншагъи збгъэдэмылъу сыкъэнэнра, хьэмэрэ а тIумкIи сарещхьыныр ара? Жэуапу си щхьэми тхьэгурымагъуэми естыжт зэрыщытым хуэдэу къанэмэ, си дежкIэ зэрынэхъыфIыр. Мис а си къэумысыныгъэм щхьэкIэ, афиндэсхэ, зы лъэныкъуэкIэ, куэдым сыкъалъагъу мыхъуу хъуащ, ари икъукIэ куууэ. ПцIы къом къыстралъхьэн хуей щIэхъуари аращ. КъинэмыщIауэ, мис а лIы Iущ цIэр къысфIащын щIадзащ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, сызэпсалъэм зэрызигъэгубзыгъэ щIэныгъэр зэрыбгъэдэмылъыр къыщIэзгъэщыху, щытхэм сэ а Iуэхум хэсщIыкIыу къащыхъут. Ауэ щыхъукIэ, щхьэмахуэхэ, Iущу къыщIэкIыр Тхьэращ, а жиIамкIи къигъэлъэгъуэну зыхуеяр цIыху Iущыгъэм уасэшхуэ зэримыIэрщ е зэримыIэххэрщ. КъызэрыпфIэщI хъунумкIи, абдежым Сократ нэхъ къыфIэIуэхуу аратэкъым абы, а цIэр щапхъэ къудейуэ къихьу арат. Фэ фщыщу, цIыхухэ, псом нэхърэ нэхъ губзыгъэу къэплъытэ хъунур Сократ хуэдэу и губзыгъагъэм мэхьэнэ зэримыIэр къызгурыIуэращ жыхуиIэу. Сэ иджыри щIыпIэ зэхуэмыдэхэм къыщызокIухь, Тхьэм и псалъэм ипкъ иткIэ сапкъырыупщIыхьурэ къызолъыхъуэ, хэкурысхэм е хэхэсхэм щыщу зыгуэр Iущу къысщымыхъуну пIэрэ жызоIэри. Сыт хуэдэу ар къысщыхъуми, Тхьэм дэсIыгъын папщIэ, а цIыхур зэрымыгубзыгъэр езым изогъэлъагъуж. А лэжьыгъэм сыкъыдэхуэу зэман къысхуэнэжкъым къалэм е унагъуэм игу къинэжыну зыгуэр сщIэну. Апхуэдэ щIыкIэу Тхьэм сызэрыхуэпщIылIым къыхэкIыуи егъэлеяуэ сытхьэмыщкIэщ. Абы къыщымынэу, езым я гукъыдэжкIэ сиужь къиува щIалэгъуалэм, хэкурыс нэхъ къулей дыдэхэм я къуэхэм, яфIэфIщ цIыхухэр зэрисхухьым еплъыну, куэдрэ езыхэми зыкъыспащIыжурэ нэгъуэщIхэр ирахухь. Куэд дыдэ къагъуэтуи къысфIощI абыхэм зыгуэр ящIэу закъыщыхъужу, уабгъэдэхьэмэ, зыри ямыщIэу е ящIэр зыри къызэрымыкI гуэру. Абыхэм ирахухьхэр я щхьэм хуэмыгубжьыжу сэ къысхуогубжь, "модэ Сократ жаIэри цIыху мыхъун гуэр щыIэщ щIалэгъуалэр игъэкIуэду" жаIэри. Сыт абы ищIэр, сыт зригъасэр жаIэу къеупщIхэмэ, жаIэнур ящIэкъыми гупсысакIуэхэм папщIэ жаIэ хабзэхэр кърабжэкI: уафэмрэ щIылъэмрэ щекIуэкIыр зэIепщIыкI, Тхьэр игъэлъапIэкъым, пцIыр пэжу къыщIрегъэдз. Пэжыр жаIэну, си гугъэмкIэ, хуеищэхэкъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, итIанэ къыщIэщынущ абыхэм зыгуэр ящIэу фэ зытрагъауэ щхьэкIэ, Iуэхум нэсмэ, зыри зэрамыщIэр. Ауэ ахэр, сызэрегупсысымкIэ, пщIэм зэрыхуэпабгъэм, зэфIэкIышхуэ зэраIэм, куэд зэрыхъум къыхэкIыу зэгурыIуауэ жьакIуэу къыстепсэлъыхьхэурэ, фи тхьэкIумэхэр якудащ Iэджэ щIауэ къыстралъхьэн щIадза пцIыр ягъэвууэрэ. Абы щхьэкIэ Мелети, Анити, Ликони къыстелъахэщ: Мелет усакIуэхэм къащхьэщыжу, Анит – IэщIагъэлIхэм, Ликон – утыкулIхэм. Аращи, гъэщIэгъуэн сщыхъунт апхуэдизыпцIыр мыпхуэдэ зэман кIэщIым фи пащхьэ къыщысхущIэгъэщтэмэ. Мис, афиндэс щхьэмахуэхэ, пэжыр зэрыщыту, зыри сымыбзыщIу вжесIащ, мэхьэнэ зиIэри зимыIэри зэхэту. КъызгурыIуэ хуэдэу щытщ абы нэхъри нэхъ гущыкIыгъуэ сызэрищIыр, ауэ ари щыхьэт мэхъу пэж зэрыжысIэмкIэ, аращ езыр пцIы къыщIыстралъхьэри къызэрыстралъхьэ щIыкIэри. Дапщэщ а Iуэхур зэхэвгъэкIыну иужь фихьэми, иджыми нэхъ кIасэми, сыт щыгъуи фызыхуэкIуэжыныр ардыдэращ. Япэу сызыгъэкъуаншэн щIэзыдзахэм папщIэ куэдщ а си зыухеижыкIэр. Иджы ди къалэр фIыуэ зылъагъуу жызыIэ Мелетрэ адрей сызыгъэкъуаншэхэмрэ я пащхьэ зыщызухеижу изогъажьэ. Аргуэрыжьу, абыхэм сызэрагъэкъуаншэр адрейхэми яфIэкъабылу къэтлъытэнщ. Мыпхуэдэ гуэр си гугъэщ: "Сократ, - жаIэ, - щIалэгъуалэр егъэкIуэд, къалэр зытет хабзэхэр къыфIэмыIуэхуу Тхьэм и нэщэнэ гуэрхэр егъэлъапIэ". Аращ къуаншагъэр. Псалъэ зэрызу зэпкърыдывгъэх-тIэ а къыстралъхьэхэр. Мелет щIалэхэр згъэкIуэдкIэрэ хабзэм себакъуэу жеIэ. Сэ-тIэ, афиндэсхэ, хабзэм ебакъуэр Мелету жызоIэ, мэхьэнэ зиIэ Iуэхухэм иригушыIэрэ щхьэрыутIыпщу цIыхухэр хейщIапIэм къришалIэкIэрэ, игъащIэм къыфIэмыIуэхуахэм иригузавэ, иринэщхъей зищIу. Ар зэрыпэжыр фэри фэзгъэлъагъунщ. - КъызжеIэт, Мелет, уи дежкIэ мэхьэнэшхуэ иIэщ щIалэгъуалэр зэрыхъукIэ нэхъыфIу къыдэкIуэтеину, пэжкъэ? - Шэч хэмылъу. - Апхуэдэу щыщыткIэ, къажеIэт мы цIыхухэм, хэт ахэр нэхъыфI зыщIыр? Ар пщIэ къыщIэкIынщ уэ, апхуэдэу а Iуэхум ущелIалIэкIэ. Ахэр зыгъэкIуэдыр, зэрыжыпIэмкIэ, къэбгъуэтащ: мыбдежым сыкъэпшауэ сыбогъэкъуаншэ. Иджы ахэр езыгъэфIакIуэри къыжыIэ, ягу къэгъэкIыж, хэт хъуну ар? Плъагъукъэ, Мелет, зыри жыпIэкъым, жыпIэнури пщIэкъым. УукIытэкъэ? Аркъудейр ирикъункъэ щыхьэту ахэр къызэрыпфIэмыIуэхумкIэ. Иджыри сыноупщI, си къуэшыжь, жыIэт: хэт ахэр нэхъыфI зыщIыр? - Хабзэхэм. - Аракъым сэ сызыщIэупщIэр, щIалэфI, хэт а цIыхухэр, а хабзэхэр зыщIэхэр? - Мис ахэр, Сократ, хейащIэхэр. - Сыт жыпIэр, Мелет! Мы цIыхухэм щIалэхэр ягъасэу нэхъыфI яхуэщIынуи? - ФIы дыдэу. - Псоми? Хьэмэ иныкъуэхэм яхуэгъасэу адрейхэм яхузэфIэмыкIыу щыт? - Псоми. - Хьийрэ и цIэкIэ соIуэ, фIыуэ жыпIамэ ар, сыту цIыху куэд щыIэ адрейхэм сэбэп яхуэхъуу. НтIэ, мы къыдэдаIуэхэми ящIрэ щIалэхэр нэхъыфI, хьэмэрэ ямыщIрэ? - Абыхэми ящI. - Хасэм щыщхэм-щэ? - Хасэм щыщхэми. - Апхуэдэу щыхъукIэ, Мелет, ямыгъэкIуэду пIэрэ щIалэхэр Лъэпкъ Зэхуэсым щыщхэм? Хьэмэ абыхэми къанэ щымыIэу ахэр нэхъыфI ящIрэ? - Абыхэми ящI. - КъызэрыщIэкIымкIэ, сэр нэмыщI афиндэс псоми щIалэхэр цIыхуфIрэ щэныфIэу ягъасэ. Сэ си закъуэ ахэр зэIызогъэхьэ. Ара жыпIэну узыхуейр? - Ардыдэщ. - Насыпыншагъэшхуэ къыспыботхэ-тIэ уэ сэ. Ауэ къызжеIэт: шыхэм я Iуэхури апхуэдэ дыдэу зэрыщытыр: псоми ахэр ирагъэфIакIуэу, зыгуэр закъуэм зэIигъэхьэу? Хьэмэрэ езыгъэфIакIуэфыр зы цIыху закъуэ е мащIэ дыдэ, ахэри шыхъуэхэракъэ? Ауэ хэзыщIыкIи хэзмыщIыкIи псоми шыхъуэн щIадзэмэ, шыхэр зэIохьэ. Апхуэдэ дыдэу щыткъэ, Мелет? Шыхэм ямызакъуэу адрей псэущхьэхэми я Iуэхур щэ? Абы шэч зыри хэлъкъым, Анитрэ уэрэ вдэми фымыдэми, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар насып егъэлеят щIалэхэм я дежкIэ, зы закъуэм зэIигъэхьэу, адрей псори ахэм сэбэп къахуэхъуу щытамэ. АрщхьэкIэ, Мелет, уэ IупщIу къэбгъэлъэгъуащ зэи щIалэхэм я сэбэп узэрымылъыхъуари ахэр къызэрыпфIэмыIуэхуари: хейщIапIэм сыкъыщIэпшэн хуей хъуар уэ езым къыпфIэIуэхукъым. Иджыри къызжеIэт, Мелет, Зевс и хьэтыркIэ: хэкурысхэр фIыуэ щытмэ нэхъыфI, хьэмэ Iейуэ щытмэ нэхъыфI? ИIэ, ныбжьэгъу, жыIэ! Сэ упщIэ гугъу уэстакъым. ЦIыху Iейхэм езыхэм гъунэгъуу къегъэщIылIа цIыхухэм сыт щыгъу'и Iей гуэр иращIэу, фIыхэм – и цIыхум фIы хуащIэу щыткъэ? - ДауикI. - НтIэ, къыдэпсэухэр сэбэп къахуэхъу нэхърэ, абыхэм Iейуэ яхэлъыр ягъэвыну нэхъ къэзыщтэн щыIэу жыпIэрэ? ЖыIэ, щIалэфI, хабзэми унафэ ещI жэуап тын хуейуэ. ЩыIэ цIыхухэр зэран къахуэхъумэ нэхъ къэзыщтэ? - ЩыIэкъым, дауикI. - Мис-тIэ, уэ мыбы сыкъэпшауэ сыхуейуэ е зэрымыщIэкIэ щIалэхэр зыIызгъэхьэу жоIэ. - Ухуейуэ зэIыбогъэхьэ. - Дауэ хъун ар, Мелет? Уэ апхуэдизу ущIалэ пэтрэ, сэ нэхърэ апхуэдизкIэ унэхъ Iущщи уощIэ бзаджэхэр къадэпсэухэм зэребзэджэкIыр, цIыхуфIхэр фIыкIэ къазэрыдекIуэкIыр. Ауэ щыхъукIэ, сэ мыр си ныбжьу апхуэдизкIэ мащIэщ сщIэри, къызгурыIуэххэкъым зыгуэр къыздэпсэухэм щыщу зэIызгъэхьэмэ, абы Iей гуэр къызэрызищIэнур. ИкIи, уэ зэрыжыпIэмкIэ, а бэлыхьышхуэм сфIэфIу зыхызодзэж. Ар си фIэщ пхуэщIынкъым, Мелет, зыми, си гугъэмкIэ, и фIэщ хъунукъым ар. Е сэ ахэр зэIызгъэхьэкъым, е зэIызгъэхьэми, ар къызэрыхъур зэрымыщIэкIэщ, аращи, тIум щыгъуэми жыпIэр пэжкъым. ЗэрымыщIэкIэ зэIызгъэхьэмэ, апхуэдэу зэрымыщIэкIэ цIыхум къыIэщIэщIэхэм папщIэ, хабзэм къигъэувыр мыбдежым къэпшэнракъым, зыхуэбгъазэу уущиинырщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, гурыIуэгъуэщ сэ зэрымыщIэкIэ сщIэр зэрымыхъунур къызгурыIуэмэ, ар зэрызмыщIэжынур. Уэ сомыущийуэ, зыкъысхуэбгъэзэн умыдэу, мыбы сыкъэпшащ. Мыбы къэшэн хуейр тезыр къэзылэжьхэращ, армыхъумэ гъэсэн хуейхэракъым. ГурыIуэгъуэ хъуакIэщ, афиндэс щхьэмахуэхэ, Мелет, зэрыжысIам хуэдэу, мы дызытепсэлъыхьхэр зэи къызэрыфIэмыIуэхуар. ИтIанэми къыджеIэ, Мелет, сыт хуэдэ щIыкIэу сэ щIалэхэр зэрызэIызгъэхьэр? Уэ къыстеплъхьэм къикIымкIэ, сэ ахэр къалэм игъэлъапIэ Тхьэм и къарухэр къабыл езмыгъэщIу, нэгъуэщI тхьэ нэщэнэ гуэрхэм хузогъаджэ? Аракъэ жыпIэну узыхуейр си къыхуеджэныгъэмкIэ зэран сыхъуу щыжыпIэкIэ? - Мис ардыдэращ. - НтIэ, Мелет, мис абыхэм, а дызытепсэлъыхь Тхьэмрэ абы и къарухэмрэ я хьэтыркIэ, зэ нэхъ гурыIуэгъуэу къызжеIэжыт сэр щхьэкIи мы щхьэмахуэхэм папщIэи. Сэ къызгурымыIуэращ, жыпIэну узыхуеймкIэ: сэ Тхьэр къабыл изогъэщI, абы къикIыр сэри къабыл сощI, сытми сыIиманыншэ дыдэкъым икIи аракъым щIэпхъэджагъэ зесхьар? Хьэмэрэ къабыл езгъэщIыр къалэм игъэлъапIэ Тхьэмрэ абы и къарухэмрэ армырауэ нэгъуэщI зыгуэрщ, икIи аращ сызэрыбгъэкъуаншэр? Е Тхьэм сыхуэмыпщылIу адрейхэри абы езгъасэу ара? - Мис ардыдэращ, сэ жызоIэ Тхьэр къыпфIэмыIуэхуу. - УцIыху гъэщIэгъуэнщ уэ, Мелет! Сыт ар щIыжыпIэр? КъызэрыщIэкIымкIэ, сэ Дыгъэри, Мазэри адрей цIыхухэм хуэдэу згъэлъапIэкъым. - Ар дыдэращ, пщIэ зыхуэсщI хейащIэхэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, мыбы Дыгъэр мывэу, Мазэр – щIыуэ жеIэ. - Анаксагор бгъэкъуэншэну ухуожьэ, ныбжьэгъу Мелет, икIи хейащIэхэр апхуэдизкIэ пфIэмэхьэнэншэщи, литературэм афIэкIа хамыщIыкIыу къыпфIощI! Абыхэм ямыщIэ уи гугъэрэ Клазоменский Анаксагор и тхылъхэм апхуэдэ гупысысэхэр изу зэритыр? КъызэрыщIэкIымкIэ, щIалэхэм ар яжезыIар сэращ, драхмэ нэхърэ нэхъыбэ ирамыту ар театрым къыщащIэфын, Сократ апхуэдэ гупсысэ мыщхьэпэхэр иIэу къыщIэкIми, езыр-езырхэу щыдэхьэшхыфын пэт. ИтIани, жыIэт, Зевс и хьэтыркIэ, уэ къызэрыпфIэщIымкIэ сэ Тхьэр сымыгъэлъапIэу ара? - Аращ! - Ар телъыджэщ, Мелет, си гугъэмкIэ, уэ езым уи фIэщ хъукъым ар. Сэ къызэрысфIэщIымкIэ, мы щIалэр цIыху псынщIэщ икIи щIыкIейщ, сэ щхьэкIэ тхьэусыхэн хуей щIэхъуари къызыхэкIар а и псынщIагъымрэ зэрыщIыкIеймрэщ, и щIалагъыр дэщIыгъуу. Къуажэхь къигупсысам хуэдэщ: "ди лIы Iущ Сократ сызэрыгушыIэм, жысIэмрэ абы къикIымрэ зэрызэтемыхуэм гу лъитэну пIэрэ", абырэ мы къызэдаIуэхэмрэ къысхуэгъэпцIэну пIэрэ жиIэ хуэдэщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы сызэригъэкъуаншэр зыщ, жиIэм къикIыр нэгъуэщIщ: "Сократ Тхьэм и къарухэр къыфIэIуэхукъым, ауэ ар Тхьэм хуопщылI" жыпIэмэ, ар гушыIэкъэ? къыкIэлъыкIуэнущ
{ "source": "adygabza.ru", "id": "platon.txt" }
И натIэ илъыр зыщIэ Олег и пшыналъэ ЗэзыдзэкIар Сонэ Абдулчэримщ Ар хуэдэщ нобэм Олег зиузэду Илъ ищIэжыну бийм щытеуар – ХъунщIакIуэ бынхэу хэкум къилъадэ Iущ мыхъу хъэзархэр щыхигъэщIар; Пщыр, афэр щыгърэ дзэшхуэр и гъусэу, ПхрыкIырт губгъуэм, шы дэгъуэм тесу. Абы къыхуэкIуэу, мэзым къыщIокIри, Тхьэгурымагъуэ къакIуэу ялъагъу; Ар нэфIэгуфIэщ, куэди хулъокIыр: КъыбжеIэ псори, иплъэмэ блэгъу; Ехьыр и гъащIэр Тхьэшхуэм хуэлажьэу. Олегыр пожьэ, пщIэ хуищIу лIыжьым: «Тхьэхэм я щIасэу тхьэгурымагъуэ, Си натIэ илъым щыгъуазэ сыщI, Си бий-гъунэгъухэм ягу къыстезагъэу Куэд симыIэжми, къысщумыбзыщI. Пэжым сыхуейщи, узогъэгугъэ Уигу ирихь шыри пхуэсщIынкъэ тыгъэ». «Удхэр щышынэу лIыщхьэ щымыIэ; Пщыхэм я тыгъи ахэр хуэмей; ИрамыхьэкIыу пэжыр къыбжаIэ; Тхьэм и IэмыркIэ, пцIыми хуэхейщ. КъэкIуэну гъэхэр ягъэпщкIуми пшагъуэм, Уи натIэ илъыр IупщIу солъагъур. Си псалъэр нобэ уи гум иубыдэ: ЛIыгъэу бгъэлъагъуэм къыпхуехьыр щIыхь; УнасыпыфIэщ, уиIэщ лъэ быдэ; Цареград къалэ уэркIэ зепсыхь; КъыпхуэжыIэщIэщ щIыгур, толъкъунхэр; Уи гъащIэм хуэдэм щIохъуэпс уи бийхэр. Дунейр борэным игъэгулэзми, Уримыгъэзу уэ уи пхъэр къокI; Шабзэшэр фийми, къамэдзэр зуми, Ахэр мэIуэщхъури, уэ укъыхокI. Уи пкъыр ехъумэ уи афэ быдэм, Псэм и хъумакIуи зиIэм ухуэдэщ. Гугъуехь шынагъуэ щыщтэркъым уи шыр; Егъэпэжыфыр абы уи дзыхь. Ар къэмыланджэу пэщытщ биишэм, Къыпэувари и бгъэгукIэ ехь. АрщхьэкIэ, батэр фэ зэдэвгъэшми, Уэ уи ажалыр IэщIэлъ а уи шым». Пщыр щIогуфIыкIыр. Ауэ и нэгур ЩIэхыу зэхоуэ, мэхъур нэщхъей. КъехьэлъэкIыпэу къокIыр уанэгум, И пкъым щыщ Iыхьэ хаха нэхъей. Шым и пщэ лъэщым и Iэр делъэжыр, И нэ губзыгъэм ар зэ щIоплъэжыр. «ФIыкIэ, си шыфIу си IуэхутхьэбзащIэ, Ижам сыхуэдэщ сэ зи гурыгъ; Псэу уи щхьэ закъуэу, дызэпэIэщIэу; Сиувэжынкъым сэ уи лъэрыгъ. Гугъу ущехьынкъым шыр щыхагъэпщым, Си гуапи хъункъэ сыпщымыгъупщэм. ИIэт, щIалэфIхэ, фубыд шы IумпIэр, Быдэу вжызоIэ, фи гум ивгъэлъ: ПсынщIэу нэфшэси си шыр си хъупIэм, IусыфIкIэ вгъашхэ, фыщыкIэлъыплъ». ЩIалэфIхэм Iуашри шыр асыхьэту, Пщым нэгъуэщIыши къыхуагъэхутэ. …Хэсщ ефэ-ешхэм и дзэр и гъусэу И натIэ илъыр зыщIэ Олег, Я щхьэцри хужькъэ, Iуащхьэм телъ уэсу – Илъэс блэкIахэм ар я Iэужьщ. Лъэщу ирату бийхэм кIэмужыр ЗекIуэ щыкIуахэр ягу къагъэкIыжыр. «Сиш ныбжьэгъуфIыр дэнэ щыхэтыр? КъызжефIэт мыдэ, сщIэну сыхуейщ. Щытыжу пIэрэ лъэрытемыту, Е си гурыщхъуэ псэурэ хуэмейу?» Iуащхьэм куэд щIауэ шыр телIыхьауэ Пщым къыжраIэ, ягуми щIыхьауэ. И щхьэр къыфIохур Олег щэджащэм, КъыпекIуэкIами ар йогупсыс: «Блэгъуаплъэ псалъэр, сымычэнджащэу, Сэ сщIын хуеякъым занщIэу дурыс: Си шым иджыри сызэрихьэнут…» Пщыр хуейщ шы къупщхьэр илъагъужыну. Олег докI пщIантIэм, Игорь зэщIегъури, И хьэщIэ гупри иту яужь; Днепр псы Iуфэм носри – къалъагъур: Iуащхьэ цIэрыIуэм телъщ къупщхьэ хужь. Уэшх тошхэ къупщхьэм, сабэ трехуэ, Удз кIыр щхьэщытри жьыбгъэм зэрехуэ. Пшыр шы щхьэ къупщхьэм тоувэ щабэу, Абы йопсалъэ: «Жей, пщIэгъуалэжь! Укъысхуэпэжу сисащ уи щIыбым, Пхуэхъуар ухыкIэ уэ къыумылэжьт. Си хьэдэIуси уи нэгу щIэкIакъым, Бийм я нэхейкIи сыпкIэлъыпсэукъэ. Мыбдежт ажалыр сэ къыщыспэплъэр?! – Олег и губжьыр нэхъри къобл. – Хигъэхуфынкъым мыбы щхьэц налъэ!» Абдеж щхьэ къупщхьэм къыхопщыр блэ, Лъакъуэм лент фIыцIэу зынрешэкIыр, Блэр зэуа пщыри хегъэкIиикIыр. Олег ягъейуэ, хьэдэIусашхэм Фадэбжьэ пщIыпщIыр щызэIэпах; Дзэми псы Iуфэм щащI ефэ-ешхэ; Игорь щIыгъущ Ольгэ – Iуащхьэм къоплъых. ЗауэлIхэм я гум куэд къагъэкIыжыр, Тхыдэ хъуа Iуэхуи щIапщытыкIыжыр. КАВКАЗЫМ И ГЪЭР ЗэзыдзэкIар Уэрэзей Афликщ Япэ Iыхьэ Куэбжэпэм деж щызэхуэсауэ Адыгэр хуиту мэуэршэр. Ягу къагъэкIыжыр я шы жэр, ПсэзэпылъхьэпIэ щита зауэр, ЗекIуэ шынагъуэм и IэфIагъ, Бийм къылъыбгъэсу гузэвэгъуэр, Щхьэхуитыныгъэ дэрэжэгъуэр УщиIэ махуэм и дахагъ. Уэркъ хьилэшыхэм я бзаджагъэр, Абы я сэшхуэм и гъэбзэкIэр, Шабзэшэу бийм кIэлъагъэсар, Бийм и жылагъуэу ягъэсар, ТхьэIухуд гъэрхэм я гуфIэкIэр. Жэщ уафэм мазэр щыму щос, Хьэуам хосыхьыр пcалъэмакъыр, Абдеж я пащхьэм щIалэ ес Къохутэ шууэ, и аркъэным Къелъэф щIалэщIэ гъэр къищIар. «Урысщ!» - гушхуэжу кIийт а шур. Зыхахри, жылэр къызэхуожэ, Губжьахэщ псори. Нэщхъ зэхэлъщ. Ауэ абы и Iуэху хэмылъ ПфIэщIыну, гъэрыр зым емыплъ. Щытщ хьэдэм хуэдэу, сын гъэжауэ, Илъагъукъым гъэрым бийм я нэкIу, Зыхихкъым кIийхэр, къэгубжьауэ. Гъэр пащхьэм иджыпсту щопэкIу Ажал уахътыншэм и ныбжь жьауэр. Хъэрпшэрщи зы зыхимыщIэж, Щылъщ гъэр щIалэщIэр щхьэр и жагъуэу. Щхьэщыгум къиту мэгуфIэж Дыгъэ жьэражьэр, хъуащ шэджагъуэ; Псэ къыхелъхьэжри дыгъэ бзийм, Макъ гуэр егъэIу нэбэнэушэу; ЗыщIегъэкъуэжри и Iэдийр, ТIэкIу зыкъеIэтыр насыпыншэм; ИхъуреягъкIэ зыкъеплъыхь… Елъагъур: пхъэхьу бгым зашыхь, Къыщхьэщыгъуалъхьэу абрагъуэу. ЩыIуплъэм бгыхэм я щхьэщыгу Бгырыс щхьэхуитхэм щащIым абгъуэ, КъокIыжыр занщIэу щIалэм игу Зэрыт гъэрыпIэр пщIыхь шынагъуэу ТхьэкIумэм зэуэ къыщиIуам ГъущI лъэхъум и кIыргъ макъ щхьэжагъуэр. Къэсащ уахътыр, къыгурыIуащ. Къэнэщхъеящ дунейр хьэдагъэу. Ущыт узыншэу, хуитыныгъэ! Ар пщылIщ. ЩымыIэу къыкIэлъыплъ КIэщIэлъщ бжыхь лъабжьэм деж къуажэбгъум. Адыгэр лажьэу итщи губгъуэм, Щымщ къуажэр. Дыгъэр нэхъри къоплъ. ЩхъуантIагъэ защIэу ипщыпщIыкIыу И пащхьэм къилъыр тафэ дэгущ. АдэжкIэ Iуащхьэхэм я щыгу КIапсэлъэрышэр зэдокIуэкIыр. А Iуащхьэ щхьэцэхэм я куэщI Зы лъагъуэ хуокIуэр. Уафэ нэзым Ар хокIуэдэжри, гууэщI Къэхъуауэ гъэрым игу зехузыр… Гъуэгуанэ жыжьэщ Урысейр, ЩIалэгъуэ дахэу, зи гуащIэгъуэу ГъащIэ архъуанэм хуэнэпсейм ЩищIар и япэ лъагъуныгъэр, ГуфIэгъуи гуауи щымыщIа Махуэ бжыгъэншэхэм я лъахэр, Хъыжьагъэ мафIэ зэщIэнам ЩыфIихысхьар хъуэпсапIэ дахэр. Иджы блэкIам и гукъэкIыжхэр ЩегъэпщкIур щIалэм игу жэщIам. ……………………………. Игъэунэхуащ абы дунейр, Ныбжьэгъу фIэщIахэм я гъэпцIагъэр, НэкъыфIэщI защIэ лъагъуныгъэм И пщIыхь, ныбжьэгъухэм я нэхей. Махуэ зэшыгъуэхэм я пщылIу БзитI-щхьитIхэм кIэншэу яхэтын, ФэрыщIу напIэхэр игъалIэу КъыIэщIэужагъуэри псэун, Дуней щхьэхуитым и ныбжьэгъур ХъуэпсапIэу зыхуэпабгъэр игу Къыщилъыхъуэну хамэ жьэгу, ИлъэтыкIащ щалъхуа и абгъуэм. Щхьэхуитыныгъэ! Уэрт, уэ зырт Къыщилъыхъуар мы дуней нэщIым. НэщI хъуами и гур, ар хьэзырт Щигъэпсэхуну псэр уи куэщIым. ЕдаIуэрт, хъуапсэу, уи уэрэд Ар пагэрэ къыпкъуэгушхукIыу. И IэплIэ гуапэхэр къуишэкIыу, ГугъапIэу игъэтIыгъуэрт куэд. Аращ иджы… щыгугъыжыну Зы щилъагъужкъым мы дунейм, Фэри, гугъапIэ щхьэгъэпцIэжхэ, Фэри къивнащ утыкум хейр. Ар гъэрщ. Щхьэр мывэм егъэщIауэ Нэщхъейуэ поплъэ: щырэ нэху, Ажалыр къэсрэ Iихым гъащIэр, Абы къыпэплъэр ахърэт щэхущ. Дыгъэ къухьэжыр лъэуджаджэу ФIэсщ къырым, хьэблэр зэщIовэж. Пэлыду пшэплъым я шэмэджыр, Шэрджэсхэр къуажэм къыдохьэж. Дохьэжхэр пщIантIэм, хьэнэфийр КъыщызэщIонэ унэ къэскIэ, ЗэщIоужьыхэж зэрыхьзэрийр, Хьэуам пшыхь кIыфIым зыхегъапскIэ. Псынащхьэр жьэгъум къокъуэлъыкI, Кърожэ псынэр мывэ лъагъуэм. Шылэхъар хужьу йогъуэлъыкI Къыр щыгухэм щхьэщыхьауэ пшагъуэр. Мазэгъуэ нурым къигъэнэху Лъэс лъагъуэм, зищIыпауэ щэху, КърикIуэр хэт, теувэу щабэу? КъеIэтыр напIэри къелъагъу: КъыщIихыу и нэхэм гущIэгъу, Адыгэ пщащэ къоплъыр гуапэу. Урысым пщащэр зэпеплъыхь, Къыщыхъуу зэрыщыту пщIыхь, Акъыл ешам къыфIэщI хъуэпсапIэу. Мазэгъуэ нурым къызыпхыпс IупитIыр щIогуфIыкIри, мащIэу Зыкъыхуагъэщхъ, щIыIабзэу шхупс Ирагъэфэну гъэр щIалэщIэр. АрщхьэкIэ щIалэр псэ ешакIэ ЩIэдэIуу пщащэ макъ жьгърум, Къеубыд нэхъуейуэ псалъэ къэскIэ, Къеубыд Iуплъэгъуэм хэлъ къарур. КъыгурымыIуэми хамэбзэр, Зыхехыр ар зэрылъэIуар, Нэ дахэ гуапэхэм жаIар: - Хуейщ упсэун! Гъэр щIалэм и псэр Къобэдзэуэж, къарууэ хъуар Зэхуехьэсыжри, жыIэдаIуэу, ИмыгъэщIэхъуу нитI къелъэIур, Ирефыр шхупс къригъэхъуар. ИрегъэщIыжыр и щхьэр жагъуэу Мывэжьым, ауэ теплъызащ ТхьэIухуд шырым и нитI фагъуэр, Гъэр щIалэм и щхьэр унэзащ. Исащ апхуэдэу заул гуэр Гъэр пащхьэм пщащэр нэщхъеибзэу, Псалъэншэу фIы хуищIыну гур ХущIэкъуу пфIэщIырт а цIыхубзыр; ЛъэмыкIыу Iупэ пIэжьэжьар. Зыгуэр жиIэну фIызэтокIыр, Мэщатэр, и нэ къэплъэжьам Нэпс ткIуэпсхэр щэхуу къыфIыщIокIыр. Зы махуэм махуэр кIэлъохъэхъу, Ирамыхауэ и Iэхъулъэхъур Гъэр щIалэм хъушэр бгым щегъэхъу. Гъэмахуэ хуабэм жьауэ хуохъур БгъуэнщIагъыр. Пшапэр зэхэуам, Къиувэм бжьакъуэу уафэ нэзым МазэщIэр, пщащэм гъэр ешам Къыхуехьыр тету лъагъуэ бгъузэм, Фо, пIастэ, щIалэм IэфI щыхъуар, Махъсымэ, иту кхъуэщын Iузэм, Зэдашх а тIум къихьауэ хъуар. КъыдещI гъэпщкIуауэ пщыхьэщхьэшхэ, Къыздеплъым хуигъэтыншу псэр. И Iупэр, и нэхэр тэрмэшхэщ, ЗыхимыщIыкIми Iурылъ бзэр. ЩигъафIэу и пшыналъэм бгыр, Куржы щIыналъэ насыпыфIэр, Къыхедзэ зэм уэрэд нэщхъыфIэ. МыпIащIэу щIалэм кърегъащIэ Анэдэлъхубзэ къыдалъхуар. А пщащэм япэут щызыхищIэр ФIылъагъуныгъэм и хьэуар. Ауэ урысым а гурыщIэр ИIэжкъым, и гур зэщыуащ: Мы пщащэм и псэм щыушам ХулъэкIкъым щIалэм пэджэжыну. Мэшынэ игу къигъэкIыжыну И лъагъуныгъэ къепцIыжар. Гъуэлэжкъым зэуэ ди щIалэгъуэр, ГуфIэгъуэр зэуэ мыкIуэдыж. Дыпэмыплъарэ тфIэщIэщыгъуэу И IэплIэм куэдрэ дохутэж. Ауэ, ди япэ лъагъуныгъэ, Ди нэгум пасэу къыщIэбнам КъигъэзэжынкIэ дыбгъэгугъэу, Зы плъапIэ гуэр къыумыгъэна. И гъащIэ фагъуэ хэкIыпIэншэм Гъэр щIалэр пфIэщIми тIэкIу есэж, Щхьэхуитыныгъэу гум щыушэр ГъэпщкIуауэ псэм щызэщIостыж. Жэщ кIыфIыр пшэплъым щыхисхьэж Нэхущым мывэ нэщхъыцэжьхэм Яхэплъэу бгыхэр зэхекIухь. Жыжьаплъэу къаплъэ къыр щхьэ хужьхэм ПлъэмыкIыу нэри псэри яхь. Сурэт щэджащэхэм я теплъэ! Уахътыншэ уэсхэм я шэнтжьейм Замыгъэхъейуэ пшэхэр илъу КъыпфIощIыр, уеплъым уэс чэсейм Абы я куэщIым щхьэмыж тхьэхуу ЗэщIэлыдэжу и щхьэ тхъуар КъыхотэджыкIри Iуащхьэмахуэ, Къащхьэщоувэ бгыуэ хъуам. Уэлбанэпежьэ уафэгъуагъуэр, Игъауэу щыблэ, къыщысам, Нэщхъейуэ щIалэр, щхьэр и жагъуэу Бгы щыгум дапщэрэ теса! И лъабжьэм пшэ хьэлъэжьхэр щIэпщу, Етауэ, тафэм жьыр щытепщэу; Къижыхьырт, щтауэ, зы къурш бжэн, Къилъыхъуэу щхьэр зрихьэлIэн; КъытелъэтыкIырти къыр сыджым, Уафэгум бгъэхэр щызэпэджэрт. Зыхыуигъэхыжкъым жьы щыкIам Я макъ жэм бум, шы зэрызехьэм… Уафэгум пшэ къыщыхъуэпскIам ТрекIэр губгъуэм уэшхыр щхьэхьу; Толъкъунхэм джабэхэр къалъэс, Мывэ хьэдзэжьхэр зэлъыIуитхъуу Къожэхыр псыхьэлыгъуэр гъуахъуэу – Гъэр щIалэр бгыщхьэм зэрытесщ; ШыIэншэу пэплъэу дыгъэ бзийм И закъуэу, къиту пшэм я щыгум. ЗилIэжми щыблэм, мыгужьей. КъыпфIощIыр мы зэрыхьзэрийм ГуфIэгъуэ гуэр кърилъхьэу и гум. Ауэ щIалэщIэр гъэщIэгъуэну ЗыIэпишат лъэпкъ зыхэхуам; КIэлъыплъырт, зыри къимыгъанэу, Адыгэм хабзэ къыдалъхуам. Я гъащIэр, хьэлыр щыхъут гурыхь, ЗауапIэм гур зэрыхуэпабгъэр; Я хьэщIэм зэрыхуащIыр щIыхь, Я жыджэрагъыр, яхэлъ лIыгъэр. Адыгэ щIалэм и шагъдийм, Къызэхижыхьу къуакIи бгыкIи, Гухэхъуэу зэрызиукъуэдийм КIэлъыплъыфынут махуэ псокIэ: Шыбг лантIэм исщ. Абы йокIупс И пыIэр, и адыгэ щIакIуэр. НыбжьыщIэм зауэм зыхуегъэпс, Уанэгум ису IэкIуэлъакIуэу. И Iэщэфащэ ямылейм Дехьэх, икIауэ и нэхъуейр. И Iэщэр, и шыр арщ адыгэр КъыкъуэгушхукIыу зэрыпагэр: Шабзэлъэ, къамэ, мэIу, фокIэщI, Аркъэныр, шабзэр. Зым пимыщI И сэшхуэр ибг ищIащ Iэпэгъуу Зыщигъэпсэхуи, зауэ губгъуи. ЗауэлIым зы къемыхьэлъэкI, Зы макъ имыщI щылъэси шуи. А зэрыщытми зи темыкI,- ЗэрызауэлI езэгъыпIэншэщ. Къэзакъ жьэрыплъэм и ажалщ И къулеигъэу и шы мафIэр, Бгы куэщI ирапIыкIауэ Iэлщ И ныбжьэгъу пэж къыхуэIумпIафIэр. БгъуэщIагъхэм, удз Iув зэщIэкIам Къыхэлъэтынщи накIуэпакIуэу, Шабзэшэ щIагъэфиикIа ПфIэщIыну пожьэ бий къыхуэкIуэм. НапIэIэтыгъуэщ ар зыхуейр Бийр къыщIидзэну и шы бгъэгум. Аркъэным зедзри блэ нэхъей, КъреутIыпщыкIыр ар уанэгум. И лъэгум хъуаскIэр щIэлыдыкIыу, И нитIым къилыдыкIыу губжь, Пхелъэфыр гъэрыр къуакIи бгыкIи, Къыщинэу гъуэгум лъы лъэужь; Лъэпощхьэпо къыхуэхъу щымыIэу Поджэжыр шы лъэ макъым бгыр. Толъкъунхэр зыр адрейм кIэлъеIэу, Къохутэр пащхьэм къуршыпс уэр. КIуэрыкIуэу холъэр, псыкум гъэр Хидзам ирефыр псы утхъуар. Ажал щIолъэIур хэкIыпIэншэр, Хуеижкъым зы, ажал нэмыщI… Арщхьэ адыгэ щIалэм и шым Зэпрелъэф псы адрыщI. Мазэхэ жэщыр шылэхъар ФIыцIабзэу Iуащхьэхэм щызепщэм, Еубыд адыгэм борэн жьапщэм Жыг бжьабэ лъабжьэ къыхитхъар. ЛIэщIыгъуэ Iэджэ зи ныбжь лъабжьэм И къудамэбжьэхэм япеIу И Iэщэфащэр зауэлI хъыжьэм: Шабзэлъэр, тажыр, щIакIуэр, мэIу. И афэ джанэр – толъкъун уэрым Ар хедзэр, кIэлъолъэж езыр. Щышынэу пщIэнкъым ар зыгуэрым, Зыгуэрым игъэдзыхэу псэр. Жэщ дэгущ. Псыр хъущIэу къокъуэлъыкI, Гъуахъуэу нэпкъитIыр гуелъэсыкI. Къару мыкIуэщIым ирихьэх Толъкъунхэр псыхъуэм дэту йох. Жейбащхъуэу, зыщIагъакъуэу бжыкI, Къэзакъхэр щыму пходэIукI. Псы фIыцIэм ныбжьу тенэIукIыу Адыгэ Iэщэр яблосыкIыр… Узэгупсысыр сыт, къэзакъ? Уигу къэбгъэкIыжрэ зауэ гуащIэр, ТхьэкIумэм итыр фоч уэ макъ, Е щытхъупс защIэу пхузэхищIэр Ара уи Хэкум?..ЩхьэгъэпцIэжщ! ФымыщI фи жагъуэ, адэжь лъахэ, Дон псышхуэу тафэм кIуэцIрыж, ЗауакIуэ гъуэгу, тхьэIухуд шырхэ! КъосылIэр Iуфэм щэхуу бийр, Шабзэшэр долъэтыкIыр Iуащхьэм, Къэзакъыр пхыру мэукIурий, Къоджэрэзэх псы нэпкъым щхьэхьу. Дунейр къэхъужмэ зэ мамыр. Пщыхьэщхьэ пшагъуэ уэлбанэгъуэм. Жьэгу хуабэм дэсу мэуэршэр Адыгэр, хэсу и унагъуэм. И пщIантIэм къыщыхуепсыхам, Жэщ къытехъуауэ гъуэгурыкIуэ, Ирегъэблагъэ накIуэпакIуэу – Адыгэ Iэнэр зэIухащ. Къыпожьэ хьэщIэм хэгъэрейр, И сэлам гуапэр япэ иту. Хъуэхъубжьэ дахэр къыхуиIэту, Къыхурегъахъуэ мэрмэжьейр. Нэху щыхукIэ щIакIуэр теубгъуауэ, ЙопщIыхьыр хьэщIэр пщIыхь мамыр. Нэхущым мэшэсыжри шур. Тохьэжыр гъуэгу, зигъэпсэхуауэ. Къурмэн махуэшхуэм щIалэгъуалэр Къуажэбгъум гупу щызэхуос. Хэти и лIыгъэ здынэс Щигъэлъэгъуэнущ джэгу яублэм. Зэдоуэ шабзэ, пшэм я щIыбым Щылъатэ бгъэр къраудых. Мэз бжэну сакъыу къызэдох Бгы нэкIуми, тафэм зыхаIубэ, Къыщолъэтыжри зэуэзэпсэу, Толъкъуну зэрехьэх къуршыпсу Зэдолъ, къызэранэкIыу сабэр. Ауэ итIани къатохьэлъэ Махуэ зэшыгъуэр зауэныгу ЗыкIуэцIылъ шухэм. КъызэщIоплъэ, Зэхаубламэ зауэ джэгу. Къыщыхъуи щыIэщ хьэгъуэлIыгъуэм Губжьауэ къамэр къыщрах, УнэIутыщхьэхэр щыпах, Сабийхэр къеплъу ягъэщIагъуэу. Ауэ урысым фIэмыфIынт Лъыр зи лъэужь нэгузыужьыгъуэр. Езыми япэм щыгъуэ фIэфIт ДжэгукIэ хъыжьэм и шынагъуэр. Ихуащ ар лIыгъэ гъэунэхупIэ, Iуплъащ ажалым куэдрэ ар. Тетащ мыдзыхэу щIакIуэ кIапэм, Игъэгулэзу бий хуэхъуар. Иджы, гупсысэм иубыдауэ, И нэгу щIэкIыж хъунщ и блэкIар. Ныбжьэгъухэм къаухъуреихьауэ Фадафэ Iэнэу зыхэсар… КIэлъыхъуэпсэжрэ махуэ кIуахэм, ГугъапIэ къэзыгъэщIэхъуам, Е, ещхьу гъуджэм иплъэжам, ЗдыкIэлъыплъым мы лъэпкъ Iэлым НэгузыужьыкIэ хуэхъуа хьэлым. БлэкIахэр игу къигъэкIыжа? Щехъумэр, зым къримыгъащIэу, Игу лъащIэм псэр зыхуэушар ИкIи и нэгуми зы мащIэу Зихъуэжу плъагъукъым гъэр ешам. Абы и лIыгъэ къэмышар ЯхуэIуэтэщIыркъым адыгэм. Ар щэхуу мэхъу яфIэгуэныхь, ГъэпщкIуауи куэдрэ топсэлъыхь Я гъэрым, къуентхъым ирипагэу.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "poemaharpush.txt" }
Уэр папщIэ, си дуней нэху Бзу щащэ бэзэр сыкIуэри бзу къэсщэхуащ - Уэр папщIэ, си дуней нэху. Удз щащэм сыкIуэри удз гъэгъахэр къэсщэхуащ - Уэр папщIэ, си дуней нэху. ГъущI щащэм сыкIуэри лъэхъу къэсщэхуащ, Лъэхъу хьэлъэ – уэр папщIэ, си дуней нэху. ИтIанэ пщылIхэр щащэ бэзэрым сыкIуэри укъыщыслъыхъуащ, ауэ зыщIыпIи ущызгъуэтакъым, си дуней нэху.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "prever-zhak.txt" }
Мы лъагъуныгъэр Мы лъагъуныгъэр Сыту гуащIэ, Сыту пIащIэ, Сыту щабэ, Сыту гу гъэкIуэд… Мы лъагъуныгъэр, Махуэр и дахагъыу, Уафэр къызэIууамэ, Уафэу къызэIууэу… Мы лъагъуныгъэр сыту пэж, Мы лъагъуныгъэр сыту дахэ, Сыту Iумахуэ, Сыту къигуфIыкIрэ, Сытуи ауан щIырей… Шынауэ зэщIокIэзызэ, кIыфI къыхэна сабийуэ, ЛIы хуэдэлIщ, мыхъейуэ хэсу жэщым и курыкупсэм. Хэтыр зыгъэшынэ мы лъагъуныгъэр, Псэлъэн ялъэзыгъэкIыр хэти, Ахэр зыгъэгъу, зыгъэгъуалэу, Мы къыдэплъэкIуэрей лъагъуныгъэр… Сыту жыпIэмэ, дэ ахэм дайплъэкIуащ. УIэгъейуэ, гу уфIыцI и натIэу, игу зыщыуауэ; зэраух, зэрахуж, зэращыгъупщэжрэ Iэджэ щIауэ… Сыту жыпIэмэ, дэращ ар зыщIар уIэгъей, гу уфIыцIа, гу зэщыуа, зэраух зэрахуж зэращыгъупщэжрэ Iэджэ щIа… Мы лъагъуныгъэр… хэщI имыIэу, Иджыри апхуэдизу уэру, ДыгъафIэ защIэу… Мы сысейр Мы ууейр Мы къэхъукъащIэхэр, Мы щIэрыпс зэпытыр Мы зэмыкIуэкIыр, Къуэпс зыдз псом хуэдэу пэжу, Бзу цIыкIу кIэзызыкIэу, Гъэмахуэ хуэдэу, псэущхьэ хуэдэу хуабэу… Уэри сэри тхузэфIэкIынур ДрикIуэн, дыкърикIуэжын, дытетынырщ, ТхузэфIэкIынур тщыгъупщэнырщ ИтIанэ щIэрыщIэу дыхэжеен Аргуэру дыкъэушыжын, дигу Iэджэ щыщIэн Жьыгъэр къытлъысын, дыIурихын ЛIэныгъэм депщIыхьын, КъыпыгуфIыкIын, гуфIэпэн, ИтIанэ зэуэ къэщIалэжын… Ди лъагъуныгъэр жыпIэмэ, ар къыщонэ абдежым И лъэр фIигъэнауэ ерыщу, ХущIэкъуныр и щIалагъыу, ГукъэкIыжхэр и гущIэгъуншагъыу, ХущIегъуэжыныр и зэкIуэцIылъыкIэу, Гукъинэжхэр и щабагъыу, Мывэхур и щIыIагъыу, Махуэ нэхур и дахагъыу, ЩIэжьей хуэдэ щтэIэщтаблэу, Къыдэплърэ къытщыгуфIыкIыу, Сытри къыдгуригъаIуэу, зыри къыджимыIэурэ… Аращи, сэри абы Iэнкуну содаIуэ ИтIанэ сэ сокIий Сэ уэр папщIэщ сыщIэкIийр, Сэ сэр папщIэщ сыщIэкIийр, Сэ уэ сынолъэIу Уэр папщIэ, сэр папщIэ, фIыуэ зэрылъагъухэм папщIэ ФIыуэ ялъагъухэм папщIэ… Мис апхуэдэу сэ абы солъэIу Уэр папщIэ, сэр папщIэ, нэгъуэщIым папщIэ, СымыцIыхуххэхэм папщIэ… Къанэ абдеж, А уздэщытым и деж, А уздэщытам и деж, Къанэ абдеж. Умыхъей! Умыбгынэ абдежыр! ФIыуэ зылъагъухэм; зэрылъагъухэм; дэ, Утщыгъупщэжащ… Уэ дызыщумыгъэгъупщэж УщыдиIар мы щIым дытетыху къудейт Иджыри думыбгынэ, дызэхуумыгъэупщIыIу Сыт щыгъуэи, ужыжьэми, нэхъ жыжьэжми, жыжьэ дыдэми Дэнэи ущыреIэ Псэ къытхэзылъхьэж уи Iэпэтэрмэшыр къытхуэщI. ИтIанэ зы агъуэ, ижь'ижьыжу зэгуэр, Мэз щэху гуэр и зы лъапэ и деж, Гукъинэхэм я мэзым и деж ДымыщIэххэу къыщыхуытэж. Уи Iэр къытхуэший ДыгъэIуэтэж… ЗэзыдзэкIар Гуащокъуэ Абдулщ
{ "source": "adygabza.ru", "id": "prever.txt" }
М.Н. Скаткин Природэ мыпсэу ПэщIэдзэ школым и е IV-нэ классым папщIэ учебник Ебланэ къыдэкIыгъуэр зэзыдзэкIар Иуан Пакъэ ЗэдзэкIа зэрыхъуар ПросвещенэмкIэ КъАССР-м и Министерствэм къищтащ Къэбэрдей тхылъ тедзапIэ, Налшык, 1953 гъэ Хэзыгъэгъуазэ Гъэмахуэм, махуэ бзыгъэм и деж, къалэ щIыбым, унэ лъагэхэм я щхьэкIэ жыжьэу дэ ди щыгум щыдолъагъу уафэ къащхъуэмрэ дыгъэмрэ. Уафэм пшэхэр щызокIуэ. Дэ ди хъуреягъкIэ хъупIэхэр, мэзхэр, губгъуэхэр щылъхэщ. Мэзхэм къыщокIхэр уэздыгъейхэр, псейхэр, пхъэхуейхэр, дейхэр икIи нэгъуэщI жыгхэмрэ чыцэхэмрэ; губгъуэхэм къыщокIхэр хьэпцIий, гуэдз, хьэ; хъупIэхэм къыщокIхэр удз зэмылIэужьыгъуэхэр. Жыгхэм, чыцэхэм, удзхэм зы псалъэу зэреджэр – къэкIыгъэщ. Мэзым дыхыхьэнщи дыдэIуэнщ. Дэ зэхэтхынщ къуалэбзухэм я уэрэд макъ, бжьэхэм, аргъуейхэм я ву макъ. Удзым дыхэгъуэлъхьэнщи дегугъуу дыкIэлъыплъу щIэддзэнщ. Дэ тлъагъунщ абы псэущхьэ зыбжанэм къызэрыщапщыхьыр: хъумпIэцIэджхэм къажыхьхэр, пкIауэхэр малъэхэр, щыгъыныхьхэмрэ цIывхэмрэ къапщыхьхэр. Зэзэмызэ удзым пхырыжынщ шындырхъуо псынщIэр е хьэндыркъуакъуэр блэлъынщ. Дэ мэзым нэхъыбэрэ дыхэтым, къуалэбзу макъ зэхэтхынкIэ е езыр тлъагъункIэ хъунщ, дыхуэзэнщ кIэпхъ е цыжьбанэ, пщIэну щыткъым, тхьэкIумэкIыхь дгъэщтэнкIи хъунщ. Дэнэ щIыпIэкIи щIым – къэкIыгъэхэми, губгъуэхэми, мэзхэми щызокIуэхэр псэущхьэ инхэри цIыкIухэри. А псоми, хьэкIэкхъуэкIэ ин дыдэхэм къыщыщIэдзауэ хьэпщхупщ цIыкIунитIэм и деж нэсыху, зы псалъэу зэреджэр – псэущхьэщ. КъэкIыгъэхэм я лъабжьэхэр щIым хохьэр. ЩIым хэлъщ пшахъуэ, ятIагъуэ,мывэ. ХъупIэхэмрэ мэзхэмрэ щоIэуэлъауэ псынэхэр, псы цIыкIухэр кIуэцIырожхэр, гуэлхэр итхэщ. Уафэр, дыгъэр, щIыр, пшахъуэр, ятIагъуэр, мывэр, псыр, къэкIыгъэхэр, псэущхьэхэр псори зэхэту природэщ. Природэм япэм еджэу щытащ «естествэкIэ». Абы къыхэкIкIэ природэр джыныгъэм естествознанэкIэ йоджэр. Природэр джыным цIыхухэм зэманрэ къарууэ куэд тырагъэкIуэдащ. Природэр имыщIэу щытамэ цIыхур псэункIэ гугъу хъунт. Сыту жыпIэмэ, цIыхур псэун щхьэкIэ зыхуеину псори езыр зыхэт природэм къыхех. Природэм абы къырет и шхын, и щыгъынымрэ зыщыпсэунумрэ къызыхищIыкIынур. ЦIыхум зэпымыууэ къигъэсэбэп хьэпшып псори къызыхащIыкIыр природэм къыхаха материалхэрщ. Естезвознанэр дэ къыддоIэпыкъур природэр тэмэму къыдгурыIуэнымрэ ар ди псэукIэр едгъэфIэкIуэн щхьэкIэ къэдгъэсэбэпыфынымрэкIэ. Природэр джыным ди акъылым зырегъэубгъу. Природэ псэумрэ мыпсэумрэ Природэм и предметхэм хэтщ псэуи мыпсэуи. Псэухэр - ар цIыхухэр, псэущхьэхэр, къэкIыгъэхэращ. Псэущхьэ псэухэр машхэхэр, къокIхэр, щIэжьей къатыр (мэбагъуэхэр) икIи малIэхэр. Предмет мыпсэухэр – ар псыр, хьэуар, щIыр, мывэхэращ. Ахэр шхэркъым, къэкIыркъым, щIэжьей къатыркъым, лIэхэркъым. Мы гъэм дэ дджынущ природэ мыпсэур – псыр, хьэуар, щIым мывэрэ гъущIхэкIхэу щIэлъыр дэщIыгъуу. Псымрэ нэгъуэщI ткIуаткIуэхэмрэ Псыншэу цIыхури, псэущхьэри, къэкIыгъэри псэуфынукъым. Псым дэ дофэ; псыр уимыIэну амал иIэкъым шхын пщIын, хьэкъущыкъу ириптхьэщIын щхьэкIэ. ПсымкIэ дэ зыдотхьэщI, ди щыгъынхэри иридожьыщI. Псым щосыр кхъуафэжьейхэмрэ кхъухьхэмрэ. Псым псыщхьэл шэрхъхэр егъэкIэрахъуэ. Псым и щытыкIэхэм щыгъуазэ зытщIынщ. Абы папщIэкIэ псыр адрей пкъыгъуэхэм етлъытынщ, псалъэм щхьэкIэ, пхъэ кубикым, мывэм, фэтыджэным, спиртым икIи н.къ. СыткIэ къыщхьэщыкIрэ псыр пхъэ кубикым е мывэм? Пхъэ кубикымрэ мывэмрэ - пкъыгъуэ быдэхэщ, псыр – пкъы ткIуаткIуэщ е пIащIэщ. Пхъэ кубикымрэ мывэмрэ IэкIэ къапщтэ, столым теплъхьэ, банкым иплъхьэ, пхъэбгъулъэгум тебдзэ мэхъу. Абыхэм абыкIэ захъуэжыркъым. Пкъыгъуэ быдэхэм езыхэм я щытыкIэр хъума мэхъу. Пкъыгъуэ быдэхэм я щытыкIэм зебгъэхъуэжын щхьэкIэ ар Iыхьэурэ уадэкIэ зэгуэудын, джыдэкIэ зэгуэудын, сэкIэ зэгуэупщIыкIын е къутэн хуейщ. Абы папщIэкIэ абы зы къару гуэр ехьэлIэн хуейщ. АтIэ иIэу пIэрэ псым зы формэ гуэр? Пхъэ кубикымрэ мывэмрэ хуэдэу ар стIолым теплъхьэ хъуну пIэрэ? Хьэуэ, псыр столым щызэкIэщIэжынщ, столым къежэхынщи пхъэбгъулъэгум телъэдэнщ. Псыр стэканым ипкIэу щытмэ, ар стэканым и формэм ещхь хъунущ. Ар абдж кIыхь цIыкIум ипкIэмэ, а абдж кIыхь цIыкIум и формэм ещхь хъунущ. ТкIуаткIуэхэм езыхэм я формэ щхьэхуэ яIэкъым, атIэ ахэр зэрыт хьэкъущыкъум и формэм ещхь мэхъу. ТкIуаткIуэхэм я формэм тыншу зехъуэж, зэкIэщIож. Абы къыхэкIкIкэ ахэр хьэкъущыкъу иту зэрахьэ – бочкэхэм, пэгунхэм, банкхэм, пытулъкIэхэм, стэканхэм икIи н.къ. Иджы псыр адрей ткIуаткIуэхэм етлъытынщ. Зы стэканым ифкIэ псы къабзэ, адрейм – шэ. А стэканитIми шайбжэмышх зырыз хэфлъхьэ. Псым упхыплъым шайбжэмышхыр тыншу уолъагъур, ауэ шэм упхыплъым ар плъагъуркъым. Ар къызыхэкIыр псым ущызэкIэщIоплъ, шэм ущызэкIэщIэплъыркъыми аращ. Псы ежэх зыкъомхэмрэ гуэл зыкъомхэмрэ я псыр абы хуэдизкIэ къабзэщ икIи ущызэкIэщIоплъри псым и щIэр плъагъункIэ мэхъу ар куу дыдэу щытми. Гъэмахуэ махуэ бзыгъэм и деж дэ тлъагъунущ псым щес бдзэжьейхэр. Ахэр фIыуэ щIэплъагъур псым ущызэкIэщIэплъ мэхъури аращ. Гъатхэ къиугъуэу псыр утхъуауэ щыщытым и деж бдзэжьейр плъагъуркъым. Псы утхъуам ущызэкIэщIэплъыркъым. Спиртыр, фэтыджэныр, къэкIыгъэ дагъэр – ущызэкIэщIэплъ ткIуаткIуэхэщ. Шэр, шакъэр – ущызэкIэщIэмыплъ ткIуаткIуэхэщ. Сыт хуэдэ псым и фэр? И ныкъуэхэм жаIэр – хужьу. Пэжу пIэрэ ар? Ефлъытыт псыр шэм? Шэр хужьщ, псыр фэншэщ. ТкуаткIуэхэм фэ зэмылIэужьыгъуэ яIэщ: шакъэм – фIыцIэ, щIыху, удзыфэ, плъыжь икIи нэгъуэщI фэхэр иIэщ: сэхуран дагъэр гъуэжьыфэу щытщ икIи н. къ. ТкIуаткIуэ зыкъомым мэ яIэщ, псалъэм щхьэкIэ, спиртым, фэтыджэным. Псы къабзэм мэ лъэпкъ иIэкъым. ТкуаткIуэхэр къэпщIэфынущ я IэфIагъ, дыджагъхэмкIи: ахэр щытынкIэ хъунущ шуугъэу, IэфIу, дыджу, гуащIэу икIи н.къ. Псы къабзэм IэфIагъ, дыджагъ иIэкъым. Сыт дэ къэтщIар псым и IуэхукIэ? Псыр фэншэщ, мэи, IэфIагъ-дыджагъи зимыIэ ущызэкIэщIэплъ ткIуаткIуэщ.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "prirod.txt" }
Мериме Проспер (1803-1870) франджы тхакIуэ цIэрыIуэщ. Абы и къалэмым къыщIэкIащ хъыбар, новеллэ хьэлэмэт куэд, повесть зыбжанэ. Мериме къызэринэкIащ тхыдэр зи лъабжьэ тхыгъэ купщIафIэхэри. Наполеонрэ урысыдзэмрэ Бородино щызэзэуэн и пэIуэкIэ Шевардино быдапIэр 18I2 гъэм шыщхьэуIум и 24-м (фокIадэм и 5-м) къаувыхьауэ щытащ франджыхэм. Абдеж щекIуэкIа зауэ гуащIэращ Мериме Проспер зи гугъу ищIыр. ЗэзыдзэкIари пэублэ псалъэр зытхари Къэрмокъуэ Хьэмидщ БыдапIэр къащтэ Си ныбжьэгъухэм ящыщ офицер гуэрым къысхуиIуэтэжащ мы хъыбарыр. Езыр илъэситI-щы и пэкIэ Алыджым щылIащ. Хъыбарыр сигу къинащ, сщыгъупщэжыркъым. Аращ фхуэсIуэтэжынур. Бжьыхьэпэ мазэм и плIым полкым сынэсащ. Полковникыр къысщыгуфIыкIакъым. Ней-нейуэ къызэплъащ. Генерал Б. и тхылъымпIэр щезгъэлъагъум, сызэпиплъыхьащ, ифI зыкъришэжауи къысфIэщIащ, псалъэ гуапэ гуэрхэри къызжиIащ. Капитаным сригъэцIыхуащ абы. Дзэр къызэхикIухьри къигъэзэжа къудейт капитаным. ЦIыху къамылыфэ щхьэпэлъагэт ар, нэщхъыцэт. Сэлэтым къыщыщIидзэри, зэхэуэ Iэджэм хэхутащ, лIыгъэ зэримыхьатэмэ, эполетри жор дамыгъэри къыхуагъэфэщэнтэкъым. УIуплъэнкIэ домбейт, и макъыр гурымыхьт армыхъу. Иенэ деж шэ къыщытехуати, арат макъыхъу щIэхъуауэ жыхуаIэр. Дзэ еджапIэр къэзуха къудейт – Фонтебло дэт еджапIэр. Ар щыжесIэм, капитаным и фэр зэлъащ, къызэплъри къызжьэхидзащ: - Си лейтенантыр дыгъуасэ къаукIащ… Сэ къызгурыIуащ абы къызиIуэкIар: «Абы и пIэ уиувэн хуей хъунущ, ар пхузэфIэкIын си гугъэкъым». Псалъэ дыдж пэздзыжын мурад сиIат асыхьэтым, ауэ зысшыIащ. Ди щысыпIэм топ уэгъуитI хуэдэкIэ пэжыжьэ Шевардино быдапIэм къыщхьэщыуващ мазэр. Ар плъыжьыбзэт, инт, мазэ къыщIэкIыгъуэм деж зэрыхабзэщи. А пщыхьэщхьэм нэхъ иныж хъуауэ къысфIэщIащ мазэр. Сэлэт лIыжь къызбгъэдэтти, абы гу лъитащ мазэр зэрыплъыжьыбзэм. - Зэрыплъыжьыбзэ мазэр ныщхьэбэ! – игъэщIэгъуащ сэлэтым.- БыдапIэм гугъу дыдехьыныфэ тетщ. Сэ Iэнкун сыкъэхъупащ, сэлэтым и псалъэр щызэхэсхым. ЗезгъэщIащ, ауэ жейм сезэгъакъым. СыкъызэфIэувэжащи, сыкъокIукI – сынокIукI. Шевардино жылэм пэгъунэгъу Iуащхьэхэм щызэщIэгъэна мафIэхэм сахоплъэ. Жьы къабзэкIэ сыбэуа нэужь, згъэзэжри си пIэ сизэгъэжащ, цейр зытеспхъуэри си нэр зэтеспIащ, нэху щыху сыжеин мурад сщIауэ. Жейм сыкъибгынами ярейт: си нэбдзыпэ къехакъым. Жейм сыщемызэгъкIэ, сигу фIы щыщIэнт? Iэджэм согупсысри сыщылъщ. Си щхьэм къимыхьэ щыIэкъым. Мы уэхым щигъуэлъыкIа къомым – минищэм щIигъум си зы ныбжьэгъу яхэткъым. УIэгъэ сыхъумэ, сымаджэщым сыщIадзэнущ, дохутыр Iэшмэкъугухэр, дауи, къызэлIэлIэнукъым къысхуащIэфыни щыIэкым. Абы сыщегупсыскIэ, жейр нэхъри сщхьэщокIуэт: сыхелъафэ щыжысIэм, сыкъоскIэри, сыкъызэщоуж. Гупсысэ фейцей Iэджэ щызэблож си щхьэм – жеипIэ срагъахуэкъым гупсысэ мыфэмыцхэм. ИкIэм икIэжым сыхилъэфащ жейм. Нэху щыри бжьамий макъ къэIуащ – абы сыкъызэщигъэуащ. ДиувыкIащ, дабжа нэужь, фочхэр зэдгъэувэкIыжащ. КъэхъунIа хуейтэкъым нобэ, ди пIэ дисын хуэдэт. Сыхьэтищэм деж адъютантыр къытхыхьащ, унафэм къытхуеджэн щхьэкIэ. Фочхэр зыпщIэхэддзэжащ, фочауэхэм губгъуэм зрагуэшащ, абыхэм я ужь диуващ дэри. Дакъикъэ тIощI хуэдиз дэкIауэ, гу лъыттащ урысхэр зэхэзежэ зэрыхъуам – заIэтри быдапIэм дыхьэжащ. Топхэр ижьырабгъумкIи сэмэгурабгъумкIи щызэхэтщ, ахэр тпэжыжьэщ дэ, дяпэ ищауэ бийм яхоуэ. Бийри теплъэкъукIыркъым – шэр къыттракIутэ. Шевардино быдапIэр Iугъуэм зэщIищтащ щIэх дыдэ. Урыс топышэхэр тщхьэщолъэтри ди топгъауэхэм ятолъалъэ, зы топышэ – топышитI хуэдэ къытхэхуэми, щIыр кърауд фIэкI, дигу хагъэщIыфкъым. Бийм дебгъэрыкIуэн хуейуэ унафэ къэсащ. Капитаным и нэр къыстриубыдащ – шэч къысхуищIагъэнщ сыкъэшынауэ. Апхуэдэфэ стеттэкъым сэ, я ужь зыкъизгъэнэн муради сиIэтэкъым – арагъэнщ си пащIэ къыхэжагъащIэм сыщIытеIэбар. Шынэ жыхуаIэр си пщIыхьэпIи къыхэхуэтэкъым, сызыщышынэр къэрабгъафэ къызаплъынырт. Топышэхэр тщхьэщолъэт, ар къысфIэмыIуэхуфэ зытызогъауэ. Нобэрей махуэм си нэгу щIэкIар щысIуэтэжкIэ я фIэщ сымыхъункIэ сышынэти, арат сигу къеуэр. Дзэр зэхикIухьурэ ди ротэм къыщысым, полковникым къызжиIащ: - Зауэ уи щыпэлъагъущ, умыбэлэрыгъ, укъэдзыхэ хъунукъым. Сэ сыкъыпыгуфIыкIащ, лIыфэ зытезгъауэри. Си Iэщхьэри згъэкъэбзэжащ, гъунэгъу дыдэу къыщехуэха топышэм ятIэ къызиупцIати. Урысхэм гу лъатагъэнщ я топышэхэр псыхэкIуадэ зэрыхъум – лагъым къыдаутIыпщащ: къуэм дыдэсти, топышэм нэхърэ лагъымыр нэхъ къытлъэIэсынут. Лагъым къутахуэм си пыIэр сщхьэщиудащ, сэ къызбгъэдэт сэлэтри зэшэзэпIэ ищIащ. - Сынохъуэхъу,- къызжиIащ капитаным, пыIэр къэсщтэжа нэужь. – Нобэ ущIэгузэвэжын щыIэкъым, къэнэкIафIэ ухъуащ. Си пыIэр щхьэрыскъуэжащ, шэр зэ здытехуам деж нэгъуэщI къызэрыщемыхуэхынури сигу къэкIыжащ: ар я нэщэнэщ зауэм хэтхэм. - Ди жагъуэ ди щIасэми, ди щхьэр яхуэдгъэщхъын хуей хъуащ,- жысIащ. Делагъэ жысIарэ пэт, си гъусэхэр нэщхъыфIэ къэхъужащ. - Сынохъуэхъу,-къыщIигъуащ капитаным,- шэм уIэщIэкIащ, къытригъэзэнукъыми, ущIэгузэвэн щыIэкъым, ротэр уи IэмыщIэ къихуэнущ пщыхьэщхьэ. УIэгъэ сыхъуху къэс къызбгъэдэт офицерым и гущхьэр шэм пхисыкI хабзэщ – зэкъым зэрызгъэунэхуар… ГъэщIэгъуэнракъэ, абыхэм я цIэр П. хьэрфкIэ къыщIидзэт даIимауэ. Ар си фIэщ мыхъуауэ фэ зытезгъэуащ. Апхуэдэфэ зэтригъэуэнт хэти, си пIэ итатэмэ. Зауэ сыщIыхэхуар нобэт, итIани къызгурыIуэт уигу бгъэкIуэд зэрымыхъунур, лIыгъэ зыхэбгъэлъын зэрыхуейр. Сыхьэт ныкъуэ хуэдэкIэ шэр къыттракIутэри, щIегъуэжа нэхъей, урысхэр сабырыжащ, дэ къуэгъэнапIэм дыкъуэкIри бадапIэмкIэ дунэтIащ. Ди полкыр батальонищ хъут. ЕтIуанэ батальоным быдапIэм и щIыб дыхьэн хуейуэ унафэ хуащIащ; адрей тIур быдапIэм ебгъэрыкIуэн хуейт. Сэ ещанэ баталбоным сыхэтт. ЩIытIым дыкъыдэкIри дежьащ. Бийм шэр къыттрипхъэ щхьэкIэ къытфIэIуэхукъым. Шэр мэфий, къытхэуэр нэуфIыцIщхьэрыуэ хуэдэщи, дыдзыхэкъым, закъуэтIакъуэщ тхаукIыкIыр. Зыгуэр джалэмэ, сызоплъэкI, си гъусэхэм ауан сыкъащI: «Щхьэ узэплъэкIрэ апхуэдизрэ, жьэкIэ умыплъэ, сакъ». «Сызэригугъауэ шынагъуэкъыми зауэр!» - сегупсысащ сэ. Лъэхъулъэущ зытщIауэ дожэ быдапIэмкIэ, япэ ищахэм дазэрыщIэхьэжынщ дызыхэтыр. Урысхэм я кIий макъ зэхэтхащ: «Ура!» щэнейрэ кIиящ урсыхэр, итIанэ щым хъуащ, къытхэуэнри щагъэтащ. - Сигу ирихькъым щым зэрыхъуар,- жиIащ капитаным,- фIы къытхудэкIуэнукъым абы. Ди сэлэтхэр зэрыгъэкIийуэ къысфIэщIащ сэ – ар сигу ирихьакъым. Урысхэр зэрыщымщ. БыдапIэм щIэх дыдэ дынэсащ. Бжэгъу яехэр топышэм иращIыкIат, щIыри зэхэвыхьат. Сэлэтхэр быдапIэм тезэрыгуащи, зэрогъэкIий: «ИугъащIэ императорым!» АпхуэдизкIэ зэрогъэкIийри, быдапIэ я щыпэлъагъу къыпфIэщIынт. Си щхьэр къэсIэтри сыдэплъеящ. Зэи сщыгъупщэжынукъым слъэгъуар. Iугъуэ фIыцIэр уэгум ихьат, быдапIэми щхьэщылът, хэплъагъукI къудейуэ. ЩIытIым къыщхьэпроплъ урыс фочауэхэр, Я фочхэр гъэпкIащ, къыттрагъэпсауэ къытпоплъэ. Лъэбакъуэ зыхыбл нэхъ тпэжыжьэкъым я топыр, абы сэлэт бгъэдэтщ, топышэр къытхидзэным зыхуигъэхьэзырауэ. Сэ сыкъэскIащ, жысIащ сигукIэ: кIэ згъуэта хъунщ. Урысхэр къытхэуэн хьэзырщ – кIэ бгъуэтынумэ, и чэзукъэ… - Фымыдзыхэ! – кIиящ капитаныр. Абы и макъ афIэкIа зэхэсхыжакъым – ар и иужьрей псалъэт. БыдапIэм щэ топ макъ къыдэIукIащ. Урысхэм я фочхэр къызэттрагъэпсар слъагъури сыгужьеящ – иджы хъунщ кIэ щагъуэтар. Си нэр суфIыцIащ, топышэ макъыр къыщыIум. ЦIыхур зэрогъэкIий, зэрызохьэ. Си нэр къыщытесхыжым, згъэщIэгъуащ – сыпсэу хуэди! БыдапIэр Iугъуэ фIыцIэм щIигъэнэжащ. Си хъуреягъкIэ уIэгъэ хъуамрэ хьэдэхэмрэ щызэтелъщ. Капитаным и хьэдэр спэжыжьэкъым: топышэр къытехуэри, зэпкъриудащ. ЛъызащIэ сыхъуащ сэри. Ди ротэм щыщу къелар сэлэтихрэ сэрэщ. ЗыкъащIэжа хуэдэщ ди сэлэтхэм, ягу къызэрыгъуэтыжауэ фэ ятетщ. И пыIэр шпагэм фIиIури, полковникыр ежьэжащ, абы и ужь иуващ къелахэр. АдкIэ зэрыхъуар къысхуэгубзыгъыжкъым. СощIэж быдапIэм дызэрыдэлъэдар. Iугъуэ фIыцIэм бийр хэтлъагъуэкъым. СлъэкI къэзгъэнагъэнукъым – си сэшхуэр лъызащIэ хъуат, макъ къыщыIуам: «ДатекIуащ!» Iугъуэр нэхъ тщхьэщыкIа нэужь, быдапIэм щызэтедукIа сэлэтхэм я хьэдэм сыIуплъащ. Топхэм теджэлауэ зэхэлъщ бийм и хьэдэ къуаншэхэр. Франджы зауэлIхэм фочыр яузэд, мыжурэхэр ялъэщI. Урыс гъэрхэр къопэзэзэх – пщыкIуз хъут ахэр. БыдапIэ куэбжэм деж щылъщ полковникыр, ари лъы защIэщ. Сэлэтхэр къеувэкIащ абы; сэри сыбгъэдыхьащ. - Дэнэ щыIэ капитан нэхъыжьыр? – полковникыр сержантхэм ящыщ зым еупщIащ. Сержантым и дамэр дригъэуеящ: - СщIэкъым. - Лейтенант нэхъыжьыр-щэ? - Мис дыгъуасэ къытхыхьа офицерыр,- жэуап къритащ сержантым. Полковникыр къысхудэплъеящ. - АтIэ, зиусхьэн,- жиIа абы,- уэращ иджы унафэр зейр. Шыгухэр Iугъэлъади, быдапIэ куэбжэр гъэбыдэ. Ди бийр лъэщщ иджыри, удэгушыIэ хъунукъым. Генерал Канн къывдэIэпыкъунущ, утыкум фыкъыринэнукъым. - УIэгъэ хьэлъэ ухъуа, полковник? – сыщIэупщIащ. - Сэ си вагъуэр ижакIэщ, си псэм хуэдэ. БыдапIэр къащтащи, аращ си гурыфIыгъуэр!
{ "source": "adygabza.ru", "id": "prosper.txt" }
Капитаныпхъу ЗэзыдзэкIар Къардэн Бубэщ (пычыгъуэ) … Пугачев шэнтиуэм ису комендантым и унэ щIыхьэпIэм и пырхъуэм тест. Щагъэ къедэкIауэ къэзакъ къэптал дахэ щыгът абы. Дыщэ къабзийхэр зыхэIуа дзыдзафэ пыIэр абы и нэ зэщIэлыдэхэм къыщхьэщыуфат. Абы и нэкIур си нэIуасэу къысфIэщIащ. Къэзакъ старшинахэм къаухъуреихьат ар. Поп Герасим фагъуэу икIи зэщIэкIэзызэу жорыр иIыгъыу кIэлындорым тетт икIи къыпфIэщIырт, абы зытриукIэну цIыхухэм папщIэкIэ псалъэмакъыншэу ар лъаIуэу. Щхьэ пылъапIэр псынщIэу площадым щызэфIагъэувэрт. Дэ дакъыщыбгъэдыхьэм, башкирхэм цIыхухэр зэкIэщIахури Пугачев и пащхьэм драшащ. Тхьэгъуш къеуэныр увыIащ; дунейр щым хъуащ. «Дэтхэнэра комендантыр?» - щIэупщIащ цIэзыфIэщыжыр. Ди урядникыр цIыху Iувым къыхэкIри Иван Кузьмичыр иригъэлъэгъуащ. Пугачев лIыжьым шынагъуэу еплъри жриIащ: «Дауэ сэ, уи пащтыхьым, укъыспэщIэувэну таучэл пщIа уэ?» УIэгъэм хьэзабыр зытригъэлъ комендантым и къару кIэкъинэ дыдэхэр зэхуихьэсыжри макъ быдэкIэ абы жриIащ: «Сэ уэ узипащтыхькъым, удыгъуакIуэщ, уцIэзыфIэщыжщ, зэхэпхрэ ар!» Пугачев и нэщхъыр зэхиукIэри бэлътоку хужьыр игъэсысащ. Къэзакъ зыбжанэм капитаныжьыр яубыдри иралъэфэлIащ щхьэ пылъапIэм. Абы и пхъэшыкъум дыгъуэпшыхь дызэупщIа башкир фаджэр къытехутащ. Абы кIапсэ кIапэр иIыгът, икIи зы дакъикъэ дэкIри Иван Кузьмич тхьэмыщкIэр къелэлэхыу слъэгъуащ. ИтIанэ Иван Игнатьевичыр Пугачевым кърашэлIащ. «Тхьэ къысхуэIуэ сэ,-жриIащ абы Пугачев,- уи пащтыхь Петр Федоровичым!» - Уэ дэ удипащтыхькъым,-иридзыжащ абы Пугачевым, и комендантым жиIа псалъэхэр. – Уэ, удыгъуакIуэщ, уцIэзыфIэщыжщ! – Пугачев бэлътокур игъэсысри, поручик угъурлыр и начальникым и гъунэгъуу къыфIэхутащ. Чэзур сэрат зейр. Си ныбжьэгъухэм жаIа псалъэхэр яжесIэну сэ шынагъэншэу Пугачевым сеплъырт. ИтIанэ телъыджэ къысщыхъуауэ сэ абы и гъусэ старшинахэм яхэту Швабриныр къэслъэгъуащ, абы и щхьэцыр хъурейуэ къещэкIат, къэзакъ къэптал щыгът. Ар Пугачевым бгъэдыхьэри щэхуу псалъэ зыбжанэ кIэщIидзащ. «Пыфлъэ абы и щхьэр» - жиIащ Пугачев, сэ къызэмыплъыжыххэу. Си пщэм къыфIадзащ кIапсэр. Сэ щэхуу нэмэзыбзэ къэзбжу сыхуежьащ, гуэныхьу сщIа псомкIи Тхьэм и пащхьэм зыщызумысыжу, сэ къыспэгъунэгъу псори къихъумэну селъэIуу. «Умышынэ, умышынэ»,- къызжаIэрт укIакIуэхэм, сыкъагъэгушхуэну къызжаIэу къыщIэкIынкIи хъунт сэ ар абыхэм. Асыхьэтым кIий макъ зэхэсхащ: «Зэ фыувыIэ, сыхьэт мыгъуэм хуэзэнхэ! ФыувыIэхэ!..» ЛIыукIхэр къызэтеувыIащ. Сеплъмэ, Савельичым Пугачев и лъабжьэ зыщIидзауэ щылъщ. «Ди адэ лъапIэ! – жиIэрт лIыжь тхьэмыщкIэм. – Сыт пщы сабийм и лIэныгъэм уи фейдэуэ хэлъыр? КъэутIыпщыж ар! Уэ абы папщIэкIэ щхьэщэхуж къуатынщ: ауэ нэгъуэщIхэр ирибгъэщтэн папщIэкIэ, нэгъуэщI мыхъуми, сэ лIыжьым си щхьэр пегъалъэ!» Пугачев абыхэм Iэ яхуищIри, сэ занщIэу сыкъатIэтэжри хуит сащIыжащ. «Ди адэм уэ къыпхуигъэгъунщ»,- къызжаIэрт. Сэ сыкъызэрелам а дакъикъэм сыщыгуфIыкIащ жысIэнуи сщIэркъым, ауэ ар си жагъуэ сщыхъуауи сщIэркъым. Си гупсысэхэр хуабжьу утхъуат.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "prozapu.txt" }
Пшавелэ Важэ ЗэзыдзэкIар Къармэ Iэсиятщ Адыгэ гъащIэм щыщ теплъэгъуэхэр (пычыгъуэ) Ирехьэхри пшапэм и напIащхьэр, Жьыуэпс щIыIэр къуршхэмкIэ къыдокI, Щыгъуэ теплъэу иджы къурш дыгъащхьэм Джанэ фIыцIэу жэщыр зрешэкI. Фэбжьи, губжьи, гуауи, гузэвэгъуи ЩыIэкъым и набдзэ щIыхэлъэт – Къару лъэщу уафэр зи Iэпэгъум Къыхуигъэфэщащ Iыхьэ гъейрэт: Яхуэмыус лIыгъэр зи жьэгу жьанэу Къурш къещхьэукъуэххэр я куэщI-анэу ЛIыхъужь дапщэ къыдэкIа уи бжэIу… ЩIыхь нэмыжыIэсым и фIэлIыкIым, Фэбжь гъэвыжыгъуейхэм я Iулыджым КъапекIуэкIыу хэт къыптегушхуэн?! Хэт хурзалэ бгъэм зрипщытын?..
{ "source": "adygabza.ru", "id": "pshavela.txt" }
Усэхэр КАВКАЗ ЗэзыдзэкIар Уэрэзей Афликщ Си закъуэщ. Кавказым ситщ и щыгум, Сытетщ мыл джабэ щыхупIэм и нэзым. Къыр дзакIэ жыжьэм къытелъэтыкIри уэгум Къихьауэ сибгъукIэ къуршыбгъэр щохуарзэ. Псыкъелъэхэм я къыщIэжыкIэр солъагъур, Бгыри хьэзырщ къыгуэуну шынагъуэу. Си лъабжьэм пшэхэр щIокIуэсыкIыр Iэсэу, А пшэм псыкъелъэр пхолъэтыкI нэрынэу, Псы ткIуэпсхэр къаубыдыжу щIым нэмысу, А псори къыщIаIыгъэхэр къыр пцIанэм. Нэхъ и лъабжьэжкIэ жыглыцыр щохуэлэжыр, Гъурц гъущэхэр щыкъуейуэ щощэщэжыр; Абы уаблэкIым хуейр щоалэрыбгъур, УдзыпцIэ щхъуантIэм зэщIищтауэ губгъуэр, Къуалэбзум ягъэIу уэрэд гурыхьыр, Абы щIэдэIуурэ къежыхьыр щыхьым. УекIуэтэхыIуэм джабэ жьэгъум Хэтщ унэхэр, пфIэщIыну абгъуэ. Мэл хъушэхэр кIапсэлъэрышэу ИрокIуэ лъагъуэ нэшэкъашэм. Ауз зэвым къыдэжа къуршыпсыр Щхьэхьу кIуэцIрож тафэ дыгъэпсым. Хуит хъужащи, гуфIэжауэ Тэрчи Къызэрегъэлъэлъыр и пхъэцIычыр; Мэкъугъыр зэм дыгъужь нэщIауэ, Iуфэм къеныкъуэкъуу къыдэкIыну. Мывэ къыр нэпкъыр хухэмыгъэщIауэ, Псыхъуэм Iэсэу доувэж толъкъуныр... КъыдэкIынуи имыIэж гугъапIэ: Ираубыдащи къыр пцIанэхэм гъэрыпIэм. ГъащIэ шыгу ЗэзыдзэкIар Тхьэгъэзит Зуберщ Ттехьэлъэу щытми гъащIэ хьэхур, Тынш дыдэу шыгум гъуэгу пхещIыкI. Щезэш зэман къэмыхъу – Шыгухур Гублащхьэм зэи къыдэмыкI. Шыгум, къызэрыщIэкIыу дыгъэр, ДотIысхьэ – Дылъэтэн хьэзырщ. Дэ ди хьэрэму щхьэхынагъэр, ДокIи: «Нэущ!..» Ауэ шэджагъуэм ди фэр покIыр, ДиудыныщIауэ – пкъыр тфIодий. Кумб диуэм, Iуащхьэ цIыкIу дыдэкIми, «Нэхъ хуэму, щхьэншэ!» - дэ докIий. Тетщ шыгур гъуэгум, ещхьу япэм: Десащ гъуэгуанэм. Жэщи мэхъу. ДыхуокIуэ дыщхьэукъуэу ди пIэм, Зэманми шыхэр егъэлъэхъу. А.П.Керн деж ЗэзыдзэкIар Тхьэгъэзит Зуберщ СощIэж нэплъэгъуэм я нэхъ лъапIэр: Си пащхьэм уэ укъихутат. Дахагъэм и псэу, и гугъапIэу А напIэзыпIэм гу плъыстат. Псэр ткIууэ, зэшу, хуэмыхьыжу Жэщ куэдкIэ ухэтащ си пщIыхь. Уэ уи макъ гуакIуэр мыужьыхыжу Зэхэсхыу, къэхъуащ гъащIэр щысхь. КIуэрт гъэхэр. ГъащIэм и борэным Си гугъэ IэфIхэр сфIыщIелъхьэж. Хуэм-хуэму ущIехыжыр си нэм. Уи макъыр уэгум ирехьэж. ЩIыпIэ пхыдзар си хьэпст. ФIыгъуэншэу, кIэлъэфу махуэхэр екIуэкIт,- Нэпс симыIэжу, сыгъащIэншэу, Лъагъуныгъэншэу сэ есхьэкIт. Къыдоушыж псэр зэман гуапэм: Си пащхьэм уэ укъохутэж,- Дахагъэм и псэу, и гугъапIэу Аргуэру си нэр ныIуоплъэж. Къызэщоуж сигу зэгуэудыр, Сэ си псэр гуфIэу къопсэуж, Дахагъэр, нэпсыр, си уэрэдыр, Си лъагъуныгъэр къоушыж. Чаадаевым деж ЗэзыдзэкIар Тхьэгъэзит Зуберщ ГугъэфIым, щIыхьым, лъагъуныгъэм Дэ дилъэхъакъым я пцIым куэдрэ. Бзэхащ ди сабиигъуэ дахэр – ПщIыхь IэфIым хуэдэу, Пщэдджыжь пшагъуэу. Ауэ хъуэпсапIи нобэ диIэщ, ДыщIэтми залымыгъэ джатэм, ЩIодэIур ди псэ темыпыIэр Ди хэкум дэ дызыхуриджэм. Дэ дожьэ къыщысын лъэхъэнэм Щхьэхуитыныгъэу ди псэм хуэтхьыр, ЩIалэр и пщащэм щыхуэзэну Дакъикъэм зэрыпэплъэм хуэдэу. Щхьэхуитыныгъэм псэр дэплъыху, ЩIыхь лъагэм дигухэр хуэпсэуху, Ныбжьэгъу, еттынщ дэ лъахэм, бэм Дахагъ – къабзагъэу хэлъыр псэм. Уэ щIы уи фIэщ: дэ къытхуэблэнщ Зэгуэр - и вагъуэр насып махуэм, Урысейм и нэр къигъэплъэнщ, Пащтыхь зылымыгъэм и къутахуэми Ди цIэхэр лыду тратхэнщ! Услъагъут сэ фIыуэ Услъагъут сэ фIыуэ, къиплъэм сэ си гущIэм, Иджыри хъункIэ хъунщ уэ уилъагъун. АрщхьэкIэ урепсэу уэ ар умыщIэу – Сыхуейкъым сэ нэщхъей уэ узгъэхъун. Услъагъут сэ фIыуэ бзэншэу, гугъапIэншэу. Сыфыгъуэрт зэми, зэм сыхъужырт щым. Сэр хуэдэу пхуэгумащIэрэ пхуэпэжу Тхьэм жиIэ уилъагъуну нэгъуэщI зым. ЗэзыдзэкIар Бемырзэ Мухьэдинщ *** ШIу услъэгъугъ. Джыри шIулъэгъуныгьэм Итэпхэр сыгу щэнэфых, мыкIосагъ. Ау земгъэгъап о сыгу ибгъэхъыкIыгъэм Унэшхъинэу сэ сыфэмыягъ. ШIу услъэгъугъ бзэмыIоу, гугъэ нэкIэу, Зэ сыщтэмэ, зэ сшъхьэ зэкI окIэу, Зэ закъокIэ сэ Тхьэм сыпфелъэIуи Сэщ фэдэу шIу уилъэгъоу къыуитын. ЗэзыдзэкIар Хъунэгу Саидэщ Тазит (пычыгъуэ) ГуфIэжу зэдэуэршэрыну, Е зекIуэ Iуэху тепсэлъыхьыну Ди дадэм пкъырыупщIыхьыну ЯщIауэ аркъым гукъыдэж, Адыгэхэр мыпхуэдэу жьыуэ КъыщIекIуэкIар Хьэсуб и деж. И Iэгъуэу Тэтэртуп чэщанэм Егъу къефыгъуам къыщиукIауэ, Хьэсуб и щIалэм, Фэр пыкIауэ И хьэдэр щIэлъщ къыщалъхуа унэм. Хьэдэм хуэщIапхъэ псори хуащIэ, Молэми кIыхьу хеш зэчырыр. Гуауэр щепсыха унэ гупым Хьэзыру Iутщ выгу зэщIэщIахэр. Лъэ теувапIэ пщIантIэ хуитым ИIэжкъым – дэзщ къызэхуэсахэр. Мы зауэ макъми, Макъ шынагъуэм ЕщI щтэIэщтаблэ шы лъэхъахэр. Мис – КъыщIокI дунейм ехам и адэр, И бейгуэлитIым къыщIах хьэдэ ЩIыIэр – КIуэцIылъу щIакIуэ фIыцIэм. КъолъэIу зэхэтхэм текIуэтыну. Иралъхьэ хьэдэр къыщыт выгум, Ныбгъуралъхьэж абы и Iэщэр: Шэ зэрымылъ къэуал, шабзэкъу, Шабзэшэ, куржы къамэ, джатэ, - ЛIыхъужьыр зэрылъыну мащэр Хъун папщIэ зэи имыуэж, ХьэзрэIил бегъымбарыр къеджэм, ЗауэлI хуэщIауэ къэтэджыну. Хъуащ псори хуэхьэзыр гъуэгуанэм. Къыжьэдакъуэу шыр, ТкIиягъыр я нэм ЩIэту – адыгэхэр я выгум КIэлъожэ – якIу кхъэм хуэкIуэ гъуэгур. Ужьыхыжт хуэму мафIэс – пшэплъыр, Къырхэр дыщафэу изыIар, Вы жьажьэхэр ауз мывалъэм Нэсу – къыщызэтеувыIам. Нэмыплъ къызытым мы аузырщ ЩIалэ шууейр щIыхигъэщIар,- ЗыIэщIилъхьэнщ мащэ хьэфизым Абы и хьэдэу бзагуэ хъуар. Къищтащ щIым хьэдэр. Мащэ щIыIэр Ясеижащ. Зэхэтхэм жаIэр Зэчыр. ЯщIыжыр псоми дыуэ. Абдеж къалъагъур щытхэм зэуэ Зы лIыжь щхьэтхъуа игъусэу щIалэ. Щытхэр зэлъыIуокIуэт. КъэкIуам Гупсэхуу кърегъажьэ псалъэ, Зи щIалэ щIым щIэзылъхьэжам Зыкъыхуегъазэ: «Гъэ пщыкIущ Ипэ ди деж унэкIуэгъащ, ЩIалэ лъэрымыхь къызэптыгъащ, Сэ зы Iуэхутхьэбзэ уэ пхуэсщIэну,- Шэшэн лIыхъужьу ар згъэсэну. Нобэ имыгъуэу щIэплъхьэжащ Уэ уи зы щIалэ, у игур хэщIу. Сыт пщIэн? Хуэгъэщхъ щхьэр уи уыгъэм, Ухыгъэм лъокI дыхигъэщIэну… ЕтIуанэр сэ къыпхуэсшэжащ, Уэ къеплъ мыбы и амэ лъэщхэм, ПфIэкIуэдам и пIэ къиувэнщ ар. ЩхьэтегъэщIапIэ пхурехъу ар уэ, ИтIанэ къэпщIэнщ сэ схуэщIар уэ. ЛIыжьым щиухым, Хьэсуб пIащIэу Къызэпеплъыхьыр щIалэ цIыкIур. Тазитыр къитщ абы и пащхьэм Щхьэр ирихьэхыу, пфIэщIу ткIууэ. Гуауэм иIыгъми Хьэсуб и гур, И псэр абы къыфIогумащIэр, ЗэлъыIуехыжри и нэгур, ПсэкIэ ар щIалэм йодэхащIэр, ХуещI щIалэр зыпIа лIыжьым фIыщIэ, Кърегъэблагъэ и деж пIащIэу, ИгъэхьэщIэну хуейщ ящIыгъуу Нобэ къыхуеблэгъа ныбжьэгъухэм. ИтIанэ иригъэжьэжынщ,- Тыгъэ хуищIынщ. Тхьэ хуелъэIунщ. «Аращ – мэгухэ,- ФIыщIэр зейр, Си IуэхутхьэбзащIэу, си ныбжьэгъуу, ИщIыфу бий зыщIар си жагъуэ, ЩызиIэжыххэр мы дунейм». ЗэзыдзэкIар Тхьэгъэзит Зуберщ Пиндемонти щыщ ЛъапIэу къысщыхъукъым сэ, игъэIуми макъышхуэ, Щхьэ куэд зыгъэуназэ зэфIэкIышхуэр Тхьэм къызимыпэсакIэ, сфIэщIкъым гуауэу СыхэмытхъыкIкIэ къэрал мылъку зэдауэм Зэзауэ цархэми сахуремыхъу Iэжьэгъу; КIэзетхэр дакъузам къысфIэмыIуэху, ЖыIэзыфIэщхэр хуиту къамыгъапцIэу, Плъыр сакъми и къалэмыр ирепапцIэ. А псори, зэрыжаIэу, псалъэщ, псалъэщ, псалъэщ… НэгъуэщIщ зэфIэкIыу сызэхъуапсэр сэ, нэхъ лъагэщ НэхъыфIщ, нэхъ лъагэщ хуитыныгъэу сызыхуейр! Тепщэм и нэфI ирехъу, лъэпкъым и ней… Я щхьэ зэрыхь. Зы псэм уфIэмылIыкIыу Гур арэзымэ, укъыхэмыщтыкIыу Тетыгъуэм е къулыкъум уигъэдзыхэу Уи напэи, уи плIэи, плъапIэи умыухуэу Алыхь IэщIагъэм уи гур игъэусэу Нэр зыгъэгуфIэм уи лъэри нэпхусу Дахагъэм хуэIэижьу гум иIуатэм Уи псэр пэджэжрэ фIы къыкъуэплъам уипхъуатэу Мис ар насыпщ! Мис ахэр зэфIэкIышхуэщ! ЗэзыдзэкIар Чэрим Марианнэщ
{ "source": "adygabza.ru", "id": "pushkinalex.txt" }
АдыгэбзэкIэ хьэмэрэ?.. Апхуэдэ къалэн зыхуэбгъэувыжмэ, хамэбзэкIэ тхэуэ щыта адыгэ тхакIуэ е щIэныгъэлI зыкъомым я цIэ къипIуэфынущ. Ауэ мыбдежым занщIэу къыжыIэпхъэщ: апхуэдэхэм хамэбзэр Iэпэгъу щIащIу щытар, зэрыжаIэщи, «ныбэизыгъэм» къыхахыу аратэкъым – а щхьэусыгъуэр Iэмалыншагъэм къыхэкIырт. Сытыт ебгъэщIэнур, псалъэм папщIэ, адыгэм къахэкIа, ауэ Тыркум къыщалъхуа, щIэныгъи щызэзыгъэгъуэта щIалэщIэм – абы тхэным гу хуищIауэ щытмэ? Зы закъуэт хэкIыпIэуи Iэмалуи иIэр: а зэреджа бзэмкIэ тхэнырт. Ауэ дауэ къызэрыбгурыIуэнур и анэдэлъхубзэмкIэ тхэжыну Iэмал зиIэ тхакIуэм хамэбзэр къыщыхихым деж? Си гугъэщ апхуэдэ авторхэр тIууэ зэщхьэщыгъэкIыпхъэу. Зы интервью гуэрым мыпхуэдэу щыжиIэгъащ тхакIуэ цIэрыIуэ Искандер Фазиль: «Си лъэпкъэгъу абхъазхэр щыпсалъэкIэ, абы жаIэр сэ фIы дыдэу къызгуроIуэ, сэри абыхэм зыгуэр яхыжызоIыхьыф; ауэ урысыбзэм нэхъ сыхуэшэрыуэщи, сытхэн щыхъум деж аращ къыхэсхыр». Къохъу апхуэди: и анэдэлъхубзэм и IэфIыр игъуэу къыIэрымыхьауэ, къыщалъхуа унагъуэм ар дахэ-дахэу щызэхимыхауэ. НтIэ, апхуэдэ цIыхур тхэн щыхъум: – «Е уи анэдэлъхубзэмкIэ тхэ е умытхэххэ!» – жепIэу пэбубудкIэ къикIынуIа? НэгъуэщI Iуэхущ къуажэми къыщыхъуа, зи анэдэлъхубзэми хуэшэрыуэ цIыхум игъащIэкIи дахэ-дахэу хузэмыгъэщIэну урысыбзэмкIэ тхэн хуейуэ къыщилъытэм деж. Дауэ абы узэреплъынур? Сэ си ныбжьым итхэм ящIэжу къыщIэкIынщ, илъэс щэ ныкъуэ и пэкIэ, Хрущев и тетыгъуэ зэманым, Кремль лъэныкъуэмкIэ къиIукIыу тхакIуэхэм къызэхахат мыпхуэдэ макъ: «Фытхэну фи мурадмэ, адрей бзэ цIыкIуфэкIухэр IэщIыб фщIыи, урысыбзэкIэ фытхэ!» Ауэ ар баштекъузэкIэ пхузэфIэгъэкIын Iуэхутэкъыми, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм къахэкIа тхакIуэхэр жыIэщIэу къыщыщIэмыкIым, тIэкIу-тIэкIуурэ щIалъэфыжауэ щытащ. Дауи, нэгъуэщI зыгуэру къекIуэкIауэ щытатэмэ, властыр зыIэщIэлъхэм нэхъ къащтэну къыщIэкIынт. Ауэ пэжыр жыIэпхъэщ: абы и ужькIэ, СССР-р щыIэхукIэ, лъэпкъыбзэхэм, литературэхэм ехьэлIауэ апхуэдэ Iуэху мышыу етIуанэу къаIэтыжакъым. ИкIи абы мыхьэнэуэ иIар къыпхуэмылъытэнщ: а илъэсхэм къриубыдэу дапхуэдиз тхылъ телъыджэ къапкърыкIа щхьэж езым и анэдэлъхубзэмкIэ тхэж тхакIуэхэм! НтIэ, ди нэхъыжьыфIхэм апхуэдэу къызэтрагъэна хъугъуэфIыгъуэм иджы дэ делъэстэуэжмэ, къытщIэхъуэхэм сыт къытфIащын? Зи бзэмкIэ тхэр нэхъ мащIэ, урысыбзэм зезытыр нэхъыбэ хъуурэ екIуэкIмэ, дэр-дэру ди бзэр щIэтлъхьэжу, ди лъэпкъри дгъэунэхъуу аракъэ? Апхуэдэу щыщыткIи, псом япэу и лъэпкъым и бзэм, и литературэм хуэлажьэр зи анэдэлъхубзэмкIэ тхэрщ. Абыи къыщынэркъым: бзэрщ лъэпкъыр зэтезыIыгъэри, апхуэдэ тхакIуэр лъэпкъым и пщэдейми хуолажьэ. Анэдэлъхубзэм и гугъу щыпщIкIэ къытеувыIапхъэу къызолъытэ нэгъуэщI бзэкIэ тхахэм къыхахыурэ адыгэбзэ ящIа тхыгъэхэми. НэгъуэщIу жыпIэмэ, зэрадзэкIахэм. Псоми фIыуэ зэрытщIэщи, куэд щIауэ къокIуэкI зы бзэкIэ щыIэ тхыгъэхэр нэгъуэщIыбзэкIэ зэрадзэкIыу. Мыбдежым тэрмэшым и къалэныр зыгъэзащIэр бзитIми тыншу ирипсэлъэфмэ, къызыхихам и гупсысэри нэхъ тэмэму къызэтонэри, зэридзэкIари и анэдэлъхубзэм нэхъ пэгъунэгъу мэхъу. АрщхьэкIэ къохъу езым и бзэм къригъэтIэсэну зыхуежьа текстыр зэрытха бзэм тэрмэшыр щыхуэхами. Мыбдеж хэкIыпIэу щыIэжыр зыщ: подстрочник жыхуаIэр уимыIэу хъунукъым. Куэдым ящIэ – куржы усакIуэ ахъырзэманхэу Руставели, Гурамишвили, Орбеалиани, Чавчавадзе, Пшавеле сымэ я тхыгъэхэр икъукIэ IэкIуэлъакIуэу урысыбзэкIэ зэридзэкIауэ щытащ Николай Заболоцкэм. НтIэ, абы щыгъуэ подстрочникхэр Заболоцкэм хуигъэхьэзырыну зытрагъэхуар еджагъэшхуэ, куржы IуэрыIуатэм ехьэлIауэ лэжьыгъэ телъыджэ зыбжанэ къызыпкърыкIа Вирсаладзе Еленэт. ИужькIэ абы мыпхуэдэу жиIауэ щытащ: «Псалъэухам къикI мыхьэнэр телъэщIауэ е нэхъ бгъэщIэращIэу къысхуэпIуэтэну ухэмыт, – ткIийуэ къысхуигъэувырт Николай Алексеевич, – сэ сызэрыпщыгугъыр дэтхэнэ зы псалъэми фи бзэкIэ къикI дыдэр урысыбзэкIэ схуэптхынуращ. Абы хэтуи япэ и нэм къыфIэна псалъэм тоIэбэри: – Мыбы къикIыр сыт? – «Жэщыр», – жызоIэ сэ. КъыкIэлъыкIуэм тоIэбэри: – Мыбы-щэ? – «ЩIым». Ещанэ псалъэри IэпхъуамбэкIэ сегъэлъагъури: – Мыбы къикI дыдэри къызжеIэт. – «Къытехуащ». – Упсэу! Аращ сэ сызыхуейр. «Жэщыр щIым къытехуащ». Апхуэдэу ди дежкIэ щыжаIэнкIэ Iэмал иIэкъым. Сыту жыпIэмэ, ищхъэрэкIэ нэхъ уекIуэтэхыху, пщыхьэщхьэм нэхъ зрилъэфыхьу, кIыфIи нэхъ хъугъуейуэ щытщ. Абы еплъытмэ, фи лъахэм жэщыр напIэзыпIэм къыщыптеуа хуэдэу, кIыфIыр зыIэзыбжьэм къэса хуэдэу къыпщохъу. ИкIи ар усакIуэм къызэриIуэтэн Iэмал къигъуэтащ. Мис апхуэдэу кIэрыхуншэу си деж къэхьэсыф фи усакIуэшхуэм жиIэр. УрысыбзэкIэ абы «щыстIэгъэну» фащэр сэ си Iуэхужщ». Заболоцкэм Вирсаладзе хуигъэува къалэныр егугъупэу зэригъэзэщIам и щыхьэтщ мы усакIуэ-тэрмэшым и лэжьыгъэр адрей псоми къащхьэщыкIыу телъыджэ дыдэ зэрыхъуар. Мыбдеж и гугъу щысщIыну сыхуейт сэ езым, сыщIалэу, къысIэщIэщIауэ щыта щыуагъэхэм ящыщ гуэрым. ПащIэ Бэчмырзэ и усэм щыщ мы сатыритIыр – «Шыбгым зыщиIэту, ПщIантIэм пщыр къыдохьэ» – сэ урысыбзэкIэ мыпхуэдэу къэсIуэтат: «На вороном гарцуя, Въезжает князь во двор». Сэ си гугъэжт (ущIалэмэ – сыт хэлъ!) Бэчмырзэ жиIам къикIыр мыIейуэ урысыбзэкIэ къэсIуэтауэ, хэбгъэзыхьмэ, ар сэ тIэкIуи къэзгъэтэрэфэрауэ. Ауэ абы теухуауэ Нало Ахьмэдхъан къызжиIар нэгъуэщIт: «Бэчмырзэ дегъэлъагъу пщыр зэрыщытыпхъэм хуэдэу щыту: ар зэтеубыдащ, хэIэтыкIащ. Уэ абы кIуэрэ пэт чыцIыхъуэ щIалэжь цIыкIу «къыхэпщIыкIащ!» ЗэрыгурыIуэгъуэщи, асыхьэтым сызыгъэгуфIэнтэкъым Ахьмэдхъан зэхызигъэхар – сызыгъэгупсысэнт. ИкIи, къытезгъэзэжурэ сегупсыса нэужь, сэ хьэкъыу спхыкIащ: пэжт си Iустаз Iущым жиIэр! А псор къыщIезгъэкIуэкIращи, подстрочник зыгъэхьэзыр тэрмэшым къытехуэркъым оригиналыр «игъэщIэрэщIэну»; нэгъуэщIщ абы и къалэныр: зы бзэкIэ щыIэ текстыр нэгъуэщIыбзэкIэ тэмэму къэIуэтэжын, кIэрымыгъэхуаIауэ. Дауи, ар лэжьыгъэ тыншкъым. Ауэ тхыгъэр художественнэу нэгъуэщIыбзэкIэ зэбдзэкIын хуей щыхъум деж нэхъ къииныжщ. Мыбдеж тIур тIукIэ бгъэбагъуэу плIы къыщIэбгъэкIкIэ зэфIэкIыркъым. Щапхъэ цIыкIуитI къэсхьыну сыхуейт псори фIыуэ дызыщыгъуазэ тхыгъэхэм ехьэлIауэ. ПэщIэдзэ еджапIэм дыщыщIэса зэман лъандэрэ дэ зэхыдох: «Капитаныпхъу», «Ди зэманым и лIыхъужь». Зэхэтх зэпытурэ, ди тхьэкIумэр есэжащ. Арауи къыщIэкIынщ а фIэщыгъитIри адыгэбзэкIэ тэмэму къэIуэта зэрымыхъуар щIызыхэдмыщIэжыр. «Капитаныпхъу». Аращ фIэщыгъэ хуищIар Пушкиным и повесть цIэрыIуэр («Капитанская дочка») адыгэбзэкIэ зэзыдзэкIа тэрмэшым. Ауэ щыхъукIэ, мыбдеж щынэхъыщхьэр а псалъитIым къарыкIыр тэмэму зэдзэкIыныркъым, атIэ оригиналым къикIыр гъэхуауэ адыгэбзэкIэ жыIэнырщ. Абы тещIыхьауэ Iуэхум уеплъмэ, повестым адыгэбзэкIэ игъуэта фIэщыгъэм арэзы укъищIыркъым. «Капитаныпхъу» щыжыпIэкIэ, сыт абы уигу къигъэкIыр? А щIыкIэм тету ухуа псалъэ зэхэлъхэрщ: цыджаныш, лIыжьыкъуэ, факъырэкъуэ, зинэкъуэ… КIэщIу жыпIэмэ, мыпхуэдэ псалъэзэхэлъым белджылыуэ къыхоIукI ар къызыжьэдэкI цIыхум зи гугъу ищIыр игу зэрыримыхьыр, ар зэригъэикIэр… Пушкиным и повестым щытлъагъу пщащэ цIыкIум апхуэдэу ущIыхущытын кIэрылъкъым. Мироновэ Машэ, хъыджэбз гуакIуэр, щэныфIэу гъэсар, нэмысыфIэр, хеищэр – уигу иримыхьын хуэдэ! Пушкинми абы – щабагъэрэ гуапагъэрэ хэлъу – «дочь» мыхъуу, «дочка» – щIыхужиIэри аращ. НтIэ, иджы мыпхуэдэу девгъэгупсысыт: ярэби, Пушкиныр, урысыбзэм зэрыхуэшэрыуэм хуэдэу, адыгэбзэми хуэшэрыуэу щытатэмэ, адыгэбзэкIэ сыт хуэдэ фIэщыгъэ игъуэтыну пIэрэт мы зи гугъу тщIы повестым? «Капитаным ипхъу закъуэр» – армырауэ пIэрэт Пушкиным и повестым фIищынур? Аращ Лермонтовым и роман «Герой нашего времени» жыхуиIэм адыгэбзэкIэ игъуэта фIэщыгъэр. ЗанщIэуи къыжыIэпхъэщ: мыри «Капитаныпхъум» зыкIи ефIэкIыркъым. «Герой»-р грекыбзэм къыхэкIа псалъэщ. Иджырей урысыбзэм абы мыхьэнэуэ 6 щиIэщ. Дэ, адыгэхэм, а псори къызэщIедгъэубыдэу къытфIэщIыжу, абы зы псалъэ закъуэ пыдогъэув: «лIыхъужь». НтIэ, а зы псалъэм сыт щыгъуи къикIыу пIэрэ дэ дызыхуей дыдэр? ФIэщхъугъуейщ. НэгъуэщIыбзэкIэ тха тхыгъэм и фIэщыгъэр уи анэдэлъхубзэм къибгъэтIэсэныр пэжмэ, абы и псалъащхьэм зэ еплъыгъуэкIэ къикI дыдэм Iуэхур тепщIыхь хъунукъым. Тэрмэшым къытохуэ: тхылъым къыщыIуэтам и купщIэр, тхыгъэм щытлъагъу персонаж нэхъыщхьэм авторыр зэрыхущытыр, нэгъуэщI зыкъоми къилъытэу, а псори зэпишэчу тхылъым нэхъ хуэкIуэн, нэхъ езэгъ фIэщыгъэ къыхуигъуэтыну. Девгъэгупсысыт: Печориныр цIыху телъыджэ гуэру къыщыхъуауэ пIэрэт Лермонтовым – и гур зыхуз гуауэр къыщигъэпсынщIэн, и псэм къытехьэлъэ гупсысэ дыджхэр щхьэщихын хуэдэу, и IуэхущIафэрэ и хьилмыкIэ, и акъылрэ и лIыгъэкIэ зэныбжьхэм къахэлыдыкIыу, и нобэр махуэрэ и къэкIуэнури нэхуу? Хьэуэ. Печоринри адрейхэм ящыщ зы тхьэмыщкIэщ, зыхалъхуа лъэхъэнэ бзаджэм иупIышкIури къыщIидзыжауэ, езыри насыпыншэрэ пэщIэщIэгъу къыхуэхъухэми мыгъуагъэ къахуихь зэпыту. НтIэ, сыт абы кIэрылъыр, лIыхъужькIэ уеджэн хуэдэу? Лермонтовми абы щхьэкIэ «герой» щыжиIэкIэ, гущIэгъум и гъусэу ауани хэлъу жеIэри, а псалъэм абдеж къыщикIыркъым дэ, адыгэхэм, «лIыхъужь» псалъэм къитхыр. ЗэрытщIэщи, Лермонтовми гунэс щыхъуртэкъым Печориныр. И романымкIэ абы мырат жиIэр: феплъ, фегупсыс, мис нобэ дызыхуэкIуа гъащIэр, мис иджырей щIалэфIым и IуэхущIафэхэр зыхуэдэр. А псор къэплъытэу уегупсысмэ, Лермонтовым и романым адыгэбзэкIэ нэхъ хуэкIуэнур «Иджырей щIалэфIыр» фIэщыгъэр армырауэ пIэрэт? ИщхьэкIэ зи гугъу сщIахэр кIэщI дыдэу къызэщIэпкъуэжмэ, мыпхуэдэу жыпIэ хъуну къыщIэкIынущ: бэзэрым е тыкуэным тэрмэш къалэныр щигъэзэщIэну къэувыфынущ щIэныгъэшхуэ зимыIэ цIыхури (псалъэм и хьэтыркIэ, Iэдэмрэ уадэмрэ зэхимыгъэзэрыхьын хуэдэу бзитIми ирипсалъэ закъуэмэ). Подстрочник зыфIащ лэжьыгъэм нэсу пэлъэщынур щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъырщ, ари егугъуу, елIалIэу Iуэхум бгъэдэтмэ. Ещанэ тэрмэш лIэужьыгъуэм и къалэныр апхуэдизкIэ куущ, ихь жэуаплыныгъэри инщи, кIуэаракъэ, къыщыщIэбдзэнур умыщIэу укъегъанэ. Ауэ хьэкъщ: мыр – творчествэщ; ауэ щыхъукIэ, щIэныгъэшхуэ убгъэдэлъкIи, уелIалIэу, уегугъуу лэжьыгъэм убгъэдэткIи пхузэфIэкIынур мащIэщ, талант жыхуаIэр къэту щытмэ. КЪЭЖЭР Хьэмид, КъБКъУ-м и доцент.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "qacarhamid.txt" }
СЫТ ЗЭРЫМЫЗАХУЭР ЛIЫКIУЭ ЕРХОВ АЛЕКСЕЙРЭ АБЫ И АКЪЫЛЭГЪУХЭМРЭ? Тыркум щыIэ Урысейм и лIыкIуэ Ерхов Алексей Кавказ зауэр къызэрыхъеяр «хъунщIэтеуэ жыхуаIэхэм - къызэрыбгурыIуэн хуейр, цIыху укIыным, дыгъуэным, гъэр къаубыдурэ ящэным - хэпсэукIыу щыта» бгырысхэм я лажьэу щыжиIэкIэ, ищIэр ищIэжу пцIы еупс. XIX лIэщIыгъуэм урысей историографием щызэфIэува «дворянскэ-охранительнэ» унэтIыныгъэм щыщщ ар, гущIэгъуншэу бгырысхэм иращIылIа зауэ кIыхьым зыщаухеижын папщIэ, утыку кърахьауэ. Совет лъэхъэнэм къыхэкIа тхыдэдж зыбжанэм ар къыщIыдахыжар иджырей имперхуэплъэ политикэм тегъэщIапIэ хуащIын щхьэкIэщ. КъыкIэрыхункIэ гузавэу, абыхэм ящыщ гуэрхэр щIэпхъуэри, лIыкIуэ Ерхов Интернет губгъуэм щыгуэуващ. «Бгырыс мамырхэм хъунщIэтеуэхэр ирагъэкIуэкIыу щытауэ зылъытэ Iуэху еплъыкIэр, къызэщIэубыдауэ жыпIэмэ, шэч хэмылъу, тегъэщIапIэ зиIэщ», - жеIэ Псыхуабэ университетым и профессор Миргород Денис. «Центр проблем Кавказа» IуэхущIапIэм и щIэныгъэрылажьэ нэхъыщхьэ Силаев Николай зэрыжиIэмкIэ: «Кавказгупэм къиубыд тафэщI абрагъуэхэр зыхуей хуагъэзэну Iэмал къезымыт хъунщIэтеуэхэр бэлыхьышхуэу ятелът». Япэрауэ, Кавказ зауэр къыщIэхъеяр «бгырыс мамырхэм» хъунщIэтеуэ ящIу зэрыщытаракъым, - пащтыхьыгъуэм адыгэ щIыналъэхэр зэрызэрипхъуарщ. Ерховымрэ абы и акъылэгъухэмрэ зытепсэлъыхь хъунщIэтеуэхэр къыщежьар зауэм щIидза нэужьщ. ЕтIуанэрауэ, Кавказгупэм тафэуи бгылъэуи иубыду щыта щIыхэр зэи зыхуей хуэмызэ щIыпIэу щытакъым, абдежым адыгэхэр, абазэхэр, нэгъуейхэр, шэшэнхэр, къумыкъухэр, къинэмыщI лъэпкъхэр куэд дыдэ хъууэ щыпсэуащ. Мэлрэ шырэ бжыгъэ абрагъуэкIэ щызэрахуэу, мэш щыхасэу, шыгъу къыщыщIахыу зэрахьэт абыхэм тафэщIхэр. Урысыдзэм иубыд Кавказ гъунапкъэр щагъэувым щыгъуэ, Къэбэрдей ищхъэрэм хыхьэу щыта, залымыгъэкIэ пащтыхьыгъуэм зэрипхъуа а Кавказгупэ тафэщI жыхуаIэхэр къэбэрдейхэр, кIахэ адыгэхэр, нэгъуейхэр, шэшэнхэр зэгухьэри, I779 гъэм зыIэрагъэхьэжыну хэтащ, ауэ яхузэфIэкIакъым. Ещанэрауэ, Ерховымрэ абы и акъылэгъухэмрэ я Iуэху еплъыкIэм тегъэщIапIэ пэж иIэххэкъым, сыту жыпIэмэ, бгырыс къуажэхэр «урыс станицэхэм ябгъу дыдэм къыщыщыхутар» Мэзкуу, е Рязань губерниехэратэкъым, къэзакъ къэIэпхъуахэм дзэ зэгъэпэщар дагъэIэпыкъуурэ дакъузэу щыта адыгэхэм ящIхэрт. ГурыIуэгъуэщ игъащIэ лъандэрэ зыщыпсэу щIыпIэхэр империем и дзэ къебгъэрыкIуам зытрырамыгъэхын папщIэ, адыгэхэм ялъэкI къызэрамыгъэнар, абы дипломатие Iэмалхэри хиубыдэу. Абыхэм я лъэныкъуэкIэ бэнэныгъэр, шэч хэмылъу, зыхъумэжыныгъэ къудейуэ зэрыщытар нэрылъагъущ. Гу лъытапхъэщ Кавказ зауэр екIуэкIыху хъунщIэтеуэхэр лъэныкъуитIымкIи къыщежьэу зэрыщытар, я нэхъыбэри къызыбгъэдэкIыр пащтыхьыдзэрт. Тетыгъуэм зэрихьэу щыта политикэм и лъабжьэр къэзыгъэнаIуэ къэрал дэфтэрхэм куэд дыдэрэ ущрохьэлIэ: «Кавказым ди тепщэгъуэр лъэ быдэкIэ щыувын папщIэ, къуршыщхьэхэми къурш лъапэхэми IэщэкIэ узэда ди къэзакъ цIыхубэр гъэIэпхъуэн хуейщ». Зауэр екIуэкIыху, аращ пащтыхь тетыгъуэм Кавказым унафэ зехьэкIэу щиIар. Абы щIыналъэр мамыру яубыдауи, пащтыхьыгъуэм Кавказым цивилизацэ ихьауи уи фIэщ ищIкъым. БыдапIэхэмрэ плъырыпIэхэмрэ яухуэху, Гум псыщхьэм, Лабэ, Уарп, Балъкъ, Сунжэ хуэдэ псыежэххэм я Iуфэхэм урыс станицэхэр щагъэтIысурэ, щIыналъэр зейхэр бгым драхуейт, гъунэгъуу щыс къуажэхэр зэтракъутэт, мэзхэмрэ хадэхэмрэ къраупщIыкIт, гъавэ щагъэкI губгъуэхэр ягъэст, Iэщымрэ мылъку ябгъэдэлъымрэ пшыныжыпщIэ, къуэды фIащурэ трахт. Урысейм и кум кърашурэ Кавказ Ищхъэрэм мэкъумэшыщIэ хуитхэмрэ пщылIыпIэ итхэмрэ къагъэIэпхъуэт. Ар ядиIыгъыу, Кавказ Ищхъэрэм щригъэкIуэкI зэрыпхъуакIуэ политикэм ипкъ иткIэ, пащтыхьыгъуэм къэIэпхъуахэр дэIэпыкъуэгъу зыхуищIти щIыналъэр зейхэр зэрыдикъузэн Iэмалу къигъэщхьэпэт. Хагъэзыхьу тафэщIхэм къагъэIэпхъуа хэкурысхэр зэпэIэщIэ ищIын папщIэ, урысыдзэм и администрацэм адыгэ къуажэхэр къэзакъ станицэхэмкIэ къиухъуреихь и хабзэт. Зэпэгъунэгъуу зэрыщысым и щхьэусыгъуэкIэ зэбийуэ щыт адыгэхэмрэ къэзакъхэмрэ куэдрэ зэжьэхэуэт. Зы зэжьэхэуэгъуэм адрейр къишэт. ЗэрымыщIэкIэ мафIэ цIыкIуу къежьар мафIэшхуэ хъужурэ, илъэс пщIы бжыгъэхэр зыхь, кIэ зимыIэ, къару къахуэзымыгъанэ зэпэщIэтыныгъэм (лъэныкъуитIми хъунщIэтеуэхэр ирагъэкIуэкIыу) гъуэгу игъуэтт. Шэч хэлъыххэкъым адыгэхэм я лъэныкъуэкIэ ар «я хэкум зэрызыщахъумэжа» бэнэныгъэу зэрыщытам. Апхуэдэ гузэвэгъуэхэмыкIым Кавказым щыIэ урысыдзэм фейдэ хихт, сыту жыпIэмэ, зыгуэр къэхъуху, дзэм хэкурысхэр щIызэтриукIэн щхьэусыгъуэщIэ игъуэтти, лейзехьэ экспедицэшхуэхэр иригъэкIуэкIт. Абы къегъэлъагъуэ «гъащIэ щIэпхъаджэ» езыхьэкIар дэтхэнэ лъэныкъуэрами. Адыгэхэм апхуэдэ щIэпхъаджагъэхэр бэлыхьу щатехуэр нэхъыбэт. Урысейм щызекIуэ тхыдэ щыхьэтхэм я фIыгъэкIэ, нобэ адыгэхэм нэгъэсауэ ящIэ I763-I864 гъэхэм екIуэкIа Кавказ зауэм и пэжыпIэр зыIутар. А Iуэхур ябзыщIын, е зэрыщымытауэ къагъэлъэгъуэн зи хьэл урысей политикхэмрэ тхыдэджхэмрэ жаIэр Урысейм щыпсэу адыгэхэми хамэ къэралхэм исхэми я фIэщ хъукъым. Кавказ зауэмрэ абы кърикIуахэмрэ нобэ «псысэ дахэ» фIэпщыныр щIэныгъэм къемызэгъ къудейкъым, абы къишэнкIи хъунур зэзымыгъэзахуэ цIыхугъэншагъэщ. Ар телажьэкъым лъэпкъхэр нэхъ быдэу зэрыубыда зэрыхъун мурадми, Урысей къэралыгъуэр лъэ быдэкIэ увын Iуэхуми. Адыгэхэм XIX лIэщIыгъуэм бэлыхьышхуэ зэрашэчамкIэ иджырей Урысейри урыс лъэпкъри къуаншэкъым. Ауэ урысей пащтыхьыгъуэм къыщIэува къэралыгъуэу щыщыткIэ, абы къытохуэ хабзэ и лъэныкъуэкIи, цIыхугъэ и лъэныкъуэкIи Кавказ зауэмрэ абы кърикIуахэмрэ къалъыс увыпIэр къигъэнэIуэну, хамэ къэралхэм ис адыгэхэр я хэкужьым къэкIуэжыну хуит урысей цIыхубэу зэрыщытым щыхьэт техъуэу, захуагъэм гъуэгу иритыжыну. Абы Урысейри хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэри Кавказ зауэм епха «цIыхугъэ щыхупIэм» къыбгъэдишынут, къэралым и пщIэр дуней утыкум щиIэтынут. Езы Урысейм ис адыгэхэми апхуэдэ гузэвэгъуэ афIэкIа ди къэралым къыщыхъункIэ Iэмал зэрыщымыIэр я фIэщ хъунут. КЪАЛМЫКЪ Жылэбий, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат, КъБР-м и адыгэ лъэпкъ зэгухьэныгъэхэм я зэзыгъэуIу советым и унафэщI.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "qalmiqjilabi.txt" }
Ящыгъупщэжа кърым зекIуэ, е Къэнжал Iуащхьэм деж къыщыхъуахэр Къэбэрдейм ит Къэнжал бгым и деж 1708 гъэм щекIуэкIа зауэзэрылIыр кърым хъан Къаплъэн -Джэрий и махуэ мыгъуэт. Абы щыгъуэщ тэтэр пщы-уэркъхэм я нэхъыфIыщхьэхэр къанэ щымыIэу Къэнжалыкъуэм щыдэкIуэдар. И къуэшыр, и къуэр, и армэм здришэжьа жыжьэрыуэ топхэм я нэхъыбэр зыфIэкIуэда езы хъаныр ерагъыу псэууэ къела къудейщ. Къаплъэн-Джэрий и щхьэ кърикIуа щIэщхъур Кърымым къыщыхуамыгъэгъуу, щхьэусыгъуи къамылъыхъуэу, къэралым нэгъуэщI хъан трагъэувауэ щытащ. Щхьэусыгъуэм и цIэр Шэхьбазт Нобэ языныкъуэ тхыдэджхэм 1708 гъэм екIуэкIа Къэнжал зауэр Къэбэрдеймрэ Кърым хъаныгъуэмрэ я зэхуаку щекIуэкIа зауэм и кIэух хуэдэу утыку кърахьэ. Пэжщ, зауэзэрылIыр екIуэкIащ, ауэ ахэр зытепсэлъыхь зауэр гурыIуэгъуэкъым. Дигу къэдгъэкIыжыпхъэщ адыгэхэр (шэрджэсхэр) хъаныр зыхъумэ дзэм зэрыхэтар, къэралыгъуэм и унафэ щIыпIэ нэхъыщхьэм – Кърым диваным - къулыкъу лъагэ дыдэхэр щаIыгъыу зэрыщытар. Псом нэхърэ нэхъыщхьэращи – адыгэхэр Джэрий лIакъуэм и хъаныкъуэ псоми я атэлыкъхэт – я адэ пэлъытэхэт. Абы шэч закъуи къигъанэркъым Iуащхьэмахуэ лъапэ деж щыпсэуа бгырысхэр хъаныгъуэм игъэпщылIу щыта хуэдэу жызыIэ хъыбархэм тегъэщIапIэ зэрамыIэмкIэ. КъинэмыщIауэ, тепщэгъуэр зыIыгъ Джэрий лIакъуэр Шэрджэсейм и пщы къудамэхэм Iыхьлыгъэрэ политикэ къуэпскIэ епхат, абыхэм къэбэрдеипщ цIэрыIуэхэм благъагъкIэ зыпащIэхэрт, Кавказым щаIэ я Iыхьлыхэм сыт щыгъуи екIуэлIапIэрэ щIэгъэкъуэнрэ щагъуэт зэпыту къекIуэкIырт. Гу лъытапхъэщ, къэбэрдеипщхэм я нэхъыбэр кърым хъанхэм я акъылэгъуу икIи я IуэхущIэгъуу зэрыщытами. НэгъуэщIу жыпIэмэ, Кърымымрэ Къэбэрдеймрэ я зэхуаку зауэ щекIуэкIащ жыпIэ хъунукъым, Къэнжал зауэзэрылIыр а къэралыгъуитIыр зэрызэбгъэдэта щIыкIэм щыщ теплъэгъуэ щхьэхуэ къудейуэ аращ. Абы щхьэусыгъуэ имыIэуи щыткъым. XVIII лIэщIыгъуэм и щIэдзапIэм дгъэзэжынщ. Нобэ пщIэ зимыIэж хабзэхэр щыIэт а зэманым, Къаплъэн-Джэрий Къэбэрдейм щIэкIуэн щхьэусыгъуэ хъун хуэдэу. Ар, япэрауэ, хъаным и къуэшым илъ ищIэжынырт; етIуанэу, Бещтау, иджырей Псыхуабэ и деж, щыпсэу, хъаныгъуэм и нэIэ щIэт къэбэрдейхэм хъаным и унафэр ягъэзэщIэн зэрамыдэрт. Ауэ къаугъэ псоми ещхьу, фIэгъэнапIэ хуэхъуа дыдэр сыт жыпIэмэ, ар илъэсибгъу ипэжкIэ къэхъуа Iуэхугъуэ гуэрт. 1699 гъэм и гъатхэпэм хъан Сэлим-Джэрий Езанэм ещанэрейуэ тепщэгъуэр яфIиутIыпщри, езым и пIэкIэ и къуэ нэхъыжь Долэт-Джэрий ЕтIуанэм унафэр IэщIилъхьат. Хъаным лъагагъкIэ къыкIэлъыкIуэ калгэмрэ нуреддинымрэ я къулыкъухэр зылъысынухэри гурыIуэгъуэт – ар Долэт-Джэрий и къуэшхэу Шахинрэ Саадэт-Джэрийрэт. Ауэ куэд дэмыкIыу Шахин дунейм йохыжри, абы и пIэкIэ, езы уэсмэн сулътIаным и унафэкIэ, хъаным и къуэ ещанэ Шэхьбаз-Джэрий трагъэувэ. Долэт-Джэрий унафэр фIэкъабылтэкъым, къулыкъур Саадэт-Джэрий иритмэ нэхъ къищтэу. Ауэ Iуэхум тырку сулътIаным акъылэгъу хуэхъуа Сэлим-Джэрийр къыхэIэбэри, Долэт-Джэрий зэрызихъунщIэм хуэдэу, къулыкъур Шэхьбаз лъагъэсат. АбыкIэ нуреддин Саадэт-Джэрий арэзы хъуакъым, хъаным и къуэдзэ къулыкъур езым зыхуигъэфэщэжырти. Апхуэдэ щIыкIэу зэкъуэш хъаныкъуэхэу Шэхьбаз, Долэт, Саадэт сымэ я зэхуакум зэгурымыIуэ къыдэхъуащ. Зэман докIри, хъан къуэдзэу ягъэува Шэхьбаз-Джэрий Къэбэрдейм щыIэну макIуэ. Хъаным абы «Кърымым къэкIуэж» жиIэу унафэ хуригъэхьа щхьэкIэ, ар игъэзэщIэн дэнэ къэна, жэуап пхъашэ къыхурегъэхьыж: «Дэ тщIэнур дымыщIэж нэхъей, сыт дакъикъэ къэс унафэ къысхуищIу лIыкIуэ къыщIысхуигъакIуэр?» - жеIэри. Зэи къигъэзэжакъым Шэхьбаз Бахъшысэрейм. Зэкъуэшхэр зэрызэбийм кърикIуа Iуэхур сыт жыпIэмэ, мазибгъу дэкIа нэужь, Шэхьбаз-Джэрий, езым и атэлыкъыу щыта беслъэнеипщ Къанокъуэ Темырболэт и унэм щIэсу, 1699 гъэм и дыгъэгъазэм и кIэм адыгэ мыцIыхухэм яукIащ. Кърым тхыдэджхэм шэч къытрахьэркъым къуэш укIыр «калгэ» къулыкъум щIэхъуэпс нуреддин Саадэт-Джэрий зэрихъа Iуэхуу зэрыщытым, Кърым хъаныгъуэм и етIуанэ лIыщхьэу езыр увыну зэрыхуейм къыхэкIыу. А зэманым псэуа тхыдэдж Мухьэмэд-Джэрий зэритхыжымкIэ, Шэхьбаз-Джэрий зэраукIыу абы и къулыкъур Саадэт-Джэрий иубыдри, езым иутIыпща нуреддин къулыкъур и къуэш нэхъыщIэхэм яз Гъэзий-Джэрий лъысат. Абдеж щыщIэдзауэ Саадэтрэ Гъэзийрэ жагъуэгъу зэхуэхъуащ. Щхьэусыгъуэри наIуэт. И къуэшыр зэраукIар зыхуемыгъэх Гъэзий-Джэрий Къэбэрдейм щекIуэкIа Iуэхур зэхигъэкIат, яубыда шэрджэсхэми заумысыжат щIэпхъаджагъэр Саадэт-Джэрий и унафэкIэ зэрагъэзэщIамкIэ. Гъэзий-Джэрий Шэхьбаз зыукIа цIыхуиплIыр къигъуэту ахэр Кърым хъаным и хейщIапIэм ирита нэужь, абыи зыщаумысат. Iуэхум Саадэт-Джэрий и напэр трихыпат. Абы ищIыIужкIэ, хъаным и унагъуэм апхуэдэ икIагъэ къызэрыщыхъуар зэрыхузэфIэкIкIэ ибзыщIыну зэрыхэтым зэгуигъэпа Гъэзий-Джэрий нуреддин къулыкъум елъэпауэри, Долэт-Джэрий наIуэу пэщIэуващ. Модрейри щIэщхъур зэрибзыщIам къримыгъэлу, и къулыкъур 1702 гъэм и къуэш нэхъыщIэ Гъэзий иритын хуей хъуащ. ЛъыщIэж 1707 гъэм кърым тепщэу Сэлим-Джэрий и къуэ нэхъыщIэхэм яз Къаплъэн-Джэрий трагъэувэ. Арат зи пщэ дэзылъхьэжар и къуэшыр зыIэщIэкIуэда цIыхуукIхэр унэм щIэзыгъэхьа, Шэхьбаз къыщхьэщымыжыфа адыгэхэм яхурикъужыну. Щхьэусыгъуэр абы и закъуэтэкъым. Къаплъэн-Джэрий и тетыгъуэм адыгэхэр, Бещтау деж щаIыгъ щIыпIэхэм иIэпхъукIхэри, Балъкъ псыхъуэм ищхъэрэкIэ щытIысахэт, «фи щIыпIэхэм фитIысхьэж» яжезыIэ хъаным жиIэм едэIуэн ямыдэу. Щымыхъум, Къаплъэн-Джэрий адыгэхэм я деж Менглы-Джэрий зи цIэ и къуэдзэр аргуэру лIыкIуэу яхуегъакIуэ. Ауэ къэбэрдейхэр Менглы-Джэрий жиIэм едэIуэным и пIэкIэ, абы и гъусэу къэкIуа зауэлIхэм жэщым ятоуэри, тэтэрхэр пщIэншэрыкIуэ мэхъу. Iэмал щимыгъуэтым, Къаплъэн-Джэрий къэбэрдей жыIэмыдаIуэхэм къарукIэ ебгъэрыкIуэну мурад ещI. Хъан диваным щыщ къулыкъущIэхэм я нэхъыбэм яфIэкъабылтэкъым Къэбэрдей зекIуэр кърахьэжьэныр. Япэрауэ, щIыналъэр жыжьэт, етIуанэрауэ, бгым щызэзэуэн хуей хъумэ, абыкIэ адыгэхэм уазэрытекIуэн Iэмал зэрыщымыIэр псоми ящIэрт. ИтIани Къаплъэн-Джэрий и унафэр ихъуэжын идакъым. 1708 гъэм и гъатхэпэм ежьащ кърымыдзэр. Абы и бжыгъэр зыхуэдизам теухуауэ жаIэр зэщхьэщокI. Къару нэхъыщхьэр зи бжыгъэр 1 500-м нэс хъаныдзэрат. Абыхэм я гъусэт нэгъуей аскэр 20. 000 – рэ жыжьэрыуэ топыдзэ лъэщрэ. Къэбэрдейм и гъунапкъэм нэса нэужь, хъаныдзэм иджыри къыгухьат кIэмыргуейрэ беслъэнейуэ зауэлI 5000-м нэс. Адыгэхэм я дзэр куэдкIэ нэхъ мащIэт. Къэбэрдеишхуэм зауэлIу къигъэувыфар 10.000 къудейт, абы и ныкъуэр шууэ. 1708 гъэм и гъэмахуэм и кум кърымыдзэр Къэбэрдейм нэсакIэт. И дзэр бжыгъэкIэ зэрынэхъыбэм игъэгушхуа Къаплъэн-Джэрий, адыгэхэм захуигъазэри, Шэхьбаз-Джэрийрэ Менглы-Джэрий и гъуса зауэлI 3000-мрэ я лъы уасэхэмрэ иратыжыну, къинэмыщIауэ, Бещтау лъэныкъуэкIэ Iэпхъуэжыну унафэ яхуищIащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ хъаным адыгэхэм я пщы уэлий ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ епсэлъэн щIидзат. Адыгэхэр япэм хуэдэу кърым къэралыгъуэм и унафэм щIэтыну, уасэ ятыну арэзы хъуат, ауэ щыпсэуа щIыпIэхэм Iэпхъуэжын ядакъым. А IуэхумкIэ лъэныкъуитIыр зэгурыIуэфакъым, Къаплъэн- Джэрий и унафэр сыт хуэдизкIэ имыукъуэдиями, адыгэхэр езыр зыхуейм къыхутешакъым. Къаугъэр къыщызэщIэплъэм, лъэныкъуитIыр зэмызауэу зэрымыхъунур гурыIуэгъуэ хъуащ. Хъаным къарур къигъэщхьэпэну фIэкIа, нэгъуэщI Iэмал къыхуэнэртэкъыми, адыгэхэм езэуэну унафэ къищтащ. 1708 гъэм фокIадэм и I6-м Балъкъ и ищхъэрэ псыхъуэм пэгъунэгъу Къэнжал бгым деж дзитIыр япэу щызэхуозэри, пщыхьэщхьэ хъуху зэзэуа нэужь, адыгэхэр йокIуэт. АдэкIэ ящIэнум теухуауэ хъаныр и дзэпщхэм щечэнджэщым, адыгэхэм къахэкIа и блыгущIэтхэм язым, Алий жыхуаIэм, а пщыхьэщхьэм зауэр ягъэувыIэу, нэху щымэ пащэну къыхилъхьащ. Къаплъэн-Джэрий арэзы хъуат, ауэ а жэщращ зауэм и Iуэхур къэгъазэ имыIэу зыхъуэжари. Кърым дзэзешэхэм щыуагъэшхуэу яIэщIэщIар я дзэр жэщым здэщыIэну щIыпIэр къызэрыхамыхыфарат. ИхъуреягъкIэ бгыхэм къаухъуреихь Къэнжалыкъуэрт абыхэм зыщагъэпщкIуну мурад ящIар. Ауэ абыхэм я щыуагъэр адыгэхэм къагъэщхьэпэфащ. НэгъуэщIу ахэр кърымхэм зэратекIуэфын Iэмал щыIэтэкъым. Iуэхур зыуха иужьрей зэхэуэр 1708 гъэм фокIадэм и 17-м Къэнжал бгым деж щекIуэкIащ. Къэбэрдейхэр кърымхэм наIуэу къапэщIэувэным зыщадзейуэрэ, езыхэм фIы дыдэу ялъагъу «жэщ теуэ зауэ» жыхуаIэ Iэмалым хуэкIуат. Жэщу, кърым аскэрхэр иджыри жейрэ пэт, адыгэхэм уэсукхъуэм ещхьу къурш задэхэм зыкърадзыхри, кърым зекIуэлIхэм къахэуэн щIадзащ. Зэрыхьзэрийм кърым зауэлIхэр игъэгужьейри, бийм пэщIэувэфын хуэдэу заукъуэдиижыфакъым. Къаплъэн-Джэрий зи пашэ аскэрхэм ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ и шуудзэм езэуэн щIадзат, ауэ кърымхэм я нэхъыбэр щикIуэтым, зыри хузыфIэкIыжакъым. Къэбэрдейхэр текIуахэщ: кърымхэм я мурзэхэмрэ я бейхэмрэ гъэр ящIауэ, топ 14-рэ гын гъэтIылъыгъэу яIыгъ псори яIэрыхьауэ. Зауэм хэта адыгэпщ Бэчмырзэ Тэтэрхъан зэрыжиIэжамкIэ, адыгэхэр «кърымхэм мазэ псокIэ махуэ къэс езэуахэщ». Уэсмэн тхыдэдж Фундуклулу зэритхыжымкIэ: «ИгъащIэм апхуэдэ дзэ зэтекъутэкIэ ялъэгъуатэкъым». Къаплъэн-Джэрий къыхуэнэжар зауэлI 5000 къудейт. Езы хъанми и напэр текIат, абы хэт «нэгъуейхэм я деж зыщигъэпщкIуат», хэти «Родос хытIыгум ягъэкIуат» жеIэ. Кърым хъану аргуэру Долэт-Джэрий ЕтIуанэр теувэжауэ щытащ. Нобэрей тхыдэджхэм кърым хъаныгъуэм Къэнжал деж хэщIыныгъэшхуэ щигъуэта хуэдэу ягъэIу. Ауэ хэкIуэдэхэм я бжыгъэр фIыуэ щIагъатхъэ. Ар пэжу щытамэ, илъэсищ фIэкIа дэмыкIыу зауэлI 80.000-м нэс кърымыдзэр урысхэм Прут зекIуэм щатекIуэфынтэкъым. Абы къыхэкIыу, Къэнжал зауэм кърым армэр щыкIуэдауэ жыпIэныр захуагъэкъым. Абдулаевэ Гульнарэ, кърым тхыдэдж, тхакIуэ. «Авдет» кърым-тэтэр газет, 2010 гъэ.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "qanjal.txt" }
*** IутIыж Борис и фэеплъу Мэчэм хуопIащIэ пилигримыр ЩигъэтIылъыну щхьэщэгъафIэ… Сэ – шылэхъарыр зэпэщимэу – Шэрэдж таурыхъым сыкъыщофэ. Мэпсыпс акъужьри уэгу нэджащIэм КIуэсэжа псэхэр къыщохъуэпскI, Дзапэ уэрэдкIэ зэдэхащIэу Тхьэ псынэм хурхэм зыщагъэпскI. ПцIы къуэлэн дахэр ешэкIауэ КъыхокI ахъшэмым уи Мэзгуащэ, Шыгъуэ кIэщI кIуэру зричауэ, Хохьэж бжей мэзым уи шыIэжьэ. Абрэмывэжьхэр тхыдэ куэщIу, Псыхэгъэ ещIыр Тыргъэтауэ; Щхъухьыбжьэ фалъэр бжьэпэтещIэу - Нарт Бэдынокъуэ ехь псэдауэ. ………………………………. МэкIуэщI мазэпсэр – гур мэпсысэ, - Жэщ шэмыгъапцIэр йокIуэсыкI. Мес, Кхъужьеилъэм данлъэч кусэу Уи Дахэнагъуэ щхьэщосыкI! Гухьэрыр похури - Гъуабжэгъуэщу Сатушы лъапэ хелъэсэж – Зэрэгъыж жэпыр къыспыщэщу Зы бжьыхьэ пшагъуэ согъэзэж… Блын щIыIэмылхэр зэблокIуэтри Къытохьэ Нурэ Щыгужь къатым – Щолэхъу хужьыпсыр йолъ… ЩIолъэтри – УсфIыхехьэжыр гъейрэт гъадэм…
{ "source": "adygabza.ru", "id": "qarmaasiyat.txt" }
Къэбэрдейм тхыбзэм зыщиужьын зэрыхуей щIыкIэм теухуауэ ХьэтIохъущокъуэ Къазийрэ Макаров Тимофейрэ зэрызэдэуар АдыгэбзэкIэ тхэкIэ-еджэкIэ зыщIэ дэтхэнэ зыми мызэ-мытIэу зэхихагъэнщ адыгэ тхыбзэм зригъэужьын папщIэ лIыгъэ мымащIэ зезыхьа узэщIакIуэ цIэрыIуэ ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр. КъызэрыщIэкIымкIэ, ХьэтIохъущокъуэр фIыуэ зыцIыхур ди закъуэкъым. 2014 гъэм Осетие Ищхъэрэм щыIэ ЦIыхумрэ цIыхубымрэ епха кIэлъыплъыныгъэхэмкIэ институтым (СОИГСИ) и лэжьакIуэхэу Бекоева Татьянэрэ Кудзаева Аксанэрэ тхыгъэ гъэщIэгъуэн я Iэдакъэ къыщIэкIащ «ХьэтIохъущокъуэ Къазийрэ Макаров Тимофейрэ Къэбэрдейм тхыбзэм зыщиужьын зэрыхуей щIыкIэм теухуауэ зэрызэдэуар» тхыгъэр. Осетин щIэныгъэрылажьэхэм я IэдакъэщIэкIымрэ абыхэм зи гугъу ящI зэдауэм щхьэусыгъуэ хуэхъуа ХьэтIохъущокъуэ Къазий и тхыгъэмрэ къыхэха пычыгъуэхэр нобэ фи пащхьэ идолъхьэ. ХьэтIохъущокъуэр егъэджэныгъэм пыщIауэ щыщыта илъэсхэр IыхьитIу пхуэгуэшынущ. Япэ Iыхьэм - I858-I864 гъэхэм - узэщIакIуэм къэбэрдеибзэм и алыфбей зэхилъхьащ, бгырысхэм папщIэ тхылъхэр зэридзэкIащ, «Къэбэрдей алыфбейр» Тифлис щытрыригъэдзащ. I865 гъэм щIидза етIуанэ Iыхьэм ХьэтIохъущокъуэм Налшык егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр курсхэр къыщызэIуех, тхыгъэхэм йолэжь: «Къэбэрдей тхыбзэр къегъэщтэн IуэхукIэ», «Макаровым хуэгъэза жэуап», нэгъуэщIхэри; адыгэбзэкIэ «Пщы Бадынокъуэ», «Ашэмэз» жыхуиIэ хъыбархэр къеIуэтэж. «Къэбэрдейм тхыбзэр къыщегъэщтэн IуэхукIэ» ХьэтIохъущокъуэ Къазий и тхыгъэр «Тэрч хъыбархэр» («Терские ведомости») газетым и I7-нэ номерым къытехуа нэужь, абы къыкIэлъыкIуат псалъащхьэ зимыIэххэ Макаров Тимофей и пэджэжыр. Макаровыр Бытырбыху дэт зауэлI ныбжьыщIэхэм я батальоным и егъэджакIуэт, Кавказым илъэс зыбжанэкIэ тэрмэшу щэлэжьауэ, иужькIэ Новочеркасск дэт гимназием тэтэрыбзэ щригъэджат. 1844 гъэм Бытырбыху дэт университетыр къыщиухым кърата дэфтэрым зэритымкIэ, абы хьэрыпыбзэри, персыбзэри, тыркубзэри фIыуэ, тэтэрыбзэр – фIы дыдэу ищIэрт, иригъэджэнуи хуитт. «Кавказ» газетым абы «Адыгэ лъэпкъыр» зи фIэщыгъэ тхыгъэшхуэ къытрыригъэдзауэ щытащ, адыгъэ лъэпкъхэм я бжыгъэм, я диным, нэхъыжь-нэхъыщIэхэр зэрызэбгъэдэтым, я бзэм, я IуэрыIуатэм я гугъу щищIу. КъехьэкI-нехьэкI хэмылъу, Макаровым и тхыгъэм щытригъэчыныхьырт: «Адыгэхэм хьэрыпыбзэкIи урысыбзэкIи тхэну къащехьэлъэкIкIэ, зэи зыри зэрымытха бзэмкIэ нэхъ тыншу тхэфыну пIэрэ? Адыгэбзэм тхыбзэ иIэкъым. Ди кавказ щIэныгъэлIхэм зэхалъхьа алыфбейр лъэпкъым ицIыхуркъым, Ставрополь гимназием адыгэбзэ зэрыщрагъэджар зыщIыпIи нэмысу еджапIэ кIуэцIым къыщIэнэжа Iуэхущ». «Къэбэрдейр къызэраубыд лъандэрэ урыс тхыбзэм хурагъаджэу щытамэ, абы урыс тхыбзэ фIэкIа щызекIуэххэнтэкъым», - жеIэ адэкIэ псори урыс зыщIыну хэтхэм я телъхьэм. Макаровым идэртэкъым къэбэрдей тхыбзэм зрагъэубгъуну, ауэ псом нэхърэ ар нэхъ къэзыгъэгубжьыр ХьэтIохъущокъуэм Къэбэрдейм щызекIуэ дэфтэрхэр адыгэбзэкIэ ятхыну жэрдэм къызэрыхилъхьэрт. Макаровым деж дыкъыщоджэ: «КъащтэнкIи къамыщтэнкIи хъунум уемылIалIэу, шэч хэмылъу къащтэнум щхьэ зебгъэужь мыхъурэ, куэд щIауэ лъэпкъым урысыбзэр зэригъэщIэну зэрыхуейри къэбгъэсэбэпу, урысей цIыхубэм куэд щIауэ къигъэщхьэпэ тхыбзэри къэбгъэщIэрэщIэжу? Аргуэру зэ жызоIэри – лъэпкъым имыцIыхур дауэ къызэрищтэнур, къищтэми – сыт абы къытхуихьынур? И гугъу сщIыххэркъым тхыбзэ зимыIэ бзэмкIэ дэфтэрхэр зегъэкIуэн хуейщ жыхуаIэ Iуэхум. Мелуан пщIейм яIурылъ бзэр (урысыбзэр) къэбгъанэрэ, цIыху мин бжыгъэ фIэкIа зэрымыпсалъэ бзэм (адыгэбзэм) уелIалIэу, ауэ щыхъукIэ мохэри мыдрейхэри зы пащтыхьым, зы щIыналъэм и унафэ щIэту». Газетым и I8-нэ номерым къытехуа «Макаровым хуэгъэза жэуапым» ХьэтIохъущокъуэм и дауэгъур щрегъэкIуэт: «Къуажэ IуэхущIапIэхэм щызэIэпах дэфтэрхэр адыгэбзэкIэ ятхамэ зэрынэхъыфIым дыщытепсэлъыхь ди тхыгъэу «Кавказ» газетым къытрадзам щыщ пычыгъуэ къехьри, зиусхьэн Макаров Тимофей адыгэхэм урысыбзэр зэрамыхамэр къигъэлъэгъуэн папщIэ жеIэ: «Куэд щIакъым Къэбэрдейм и ныкъуэр тэрмэш хуэмыныкъуэу урысыбзэкIэ псалъэу зэрыщытрэ. ИтIанэ къоуIэбжь: «Iуэхур щхьэ икIуэтыжын хуей хъуа, дэнэ щыIэ урыс еджапIэхэр къэзыухахэр?» «Сыт къуажэ писыр къэбгъуэтыну щIэгугъур, щэщI гъэхэм Къэбэрдей судым къэбэрдей щIалэщ щылэжьар», - жеIэ абы». (Зи гугъу ищIыр I838-I842 гъэхэм Къэбэрдей судым щылэжьа Нэгумэ Шорэщ – Б.Т., К. А.) «Шэч хэмылъу, адыгэхэм яIэщ гукъыдэж урысыбзэр зэрагъэщIэну, - етх адыгэ узэщIакIуэм, - а гукъыдэжми, урыс еджапIэхэм щеджэхэм я бжыгъэми хохъуэ, икIи щэщI гъэхэм хейщIапIэм и секретару лэжьэфыну зы нэрыбгэ фIэкIа щымыIамэ, иджы апхуэдэхэр пщIы бжыгъэкIэ бгъуэтынущ. ИтIани урысыбзэр зэгъэщIэн Iуэхур хуэму фIэкIа кIуатэркъым, абыкIэ цIыхубэм щIэныгъэ щхьэпэ зэрагъэгъуэтыным тебгъэгушхуэн хуэдэу, анэдэлъхубзэм ипIэ ибгъэувэфын хуэдизуи урысыбзэм зиужьакъым. Абы и щыхьэтщ адыгэхэм я нэхъыбэр урысхэм тэрмэшыншэу зэремыпсалъэр». ХьэтIохъущокъуэм Макаровым чэнджэщ ирет Къэбэрдейм кIуэуэ Iуэхур зыIутыр и нэкIэ зэригъэлъагъуну. «Къэбэрдейр къызэраубыдрэ урыс тхыбзэм елIалIэу щытамэ, абы урысыбзэ фIэкIа щыземыкIуэу хъунт», - етх Макаровым, - жеIэ адэкIэ адыгэ узэщIакIуэм. – ПщIыхьу къызэфIимыгъэщIамэ, ар апхуэдэ гупсысэм хуэзышар къытхуэщIэркъым. Нобэ тлъагъум тепщIыхьмэ, дэ жыжьэуи гъунэгъууи тхужыIэнукъым адыгэхэм урыс тхыбзэр къагъэщхьэпэфын хуэдэу къащыхуэщтэну зэманыр». ХьэтIохъущокъуэм зэрилъытэмкIэ, Макаровыр щоуэ, зыри иджыри къэс зэрымытха адыгэбзэмкIэ дэфтэр тхылъ зепхьэныр хьэрыпыбзэм нэхърэ нэхъ гугъу хъуну къызэрыфIэщIымкIэ. «А зэгъэпщэныгъэм нэхърэ нэхъ къемызэгъ къыпхузэфIэгъэщIынукъым, езы Макароври егупсысыжмэ къыгурыIуэжынущ ар, - жеIэ узэщIакIуэм. – Ауэ гупсысэр сэбэп мыхъумэ, абы къыхуэщхьэпэнущ къуажэ егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр еджапIэр къэзухахэм, грамматикэ жыхуаIэр ямыщIэххэу, «игъащIэм зыри зэрымытха бзэмкIэ» - адыгэбзэкIэ - я гупсысэр IупщIрэ зэхахауэ къызэраIуэтэфыр…» Iуэхур ХьэтIохъущокъуэр зыщыгугъым хуэмыкIуэу, «Тэрч хъыбархэм» и 25-нэ номерым аргуэру бгырысхэм я бзэмрэ я щэнхабзэмрэ ауан зыщI Макаровым и тхыгъэ къытехуащ. «Сэ сызытетам сытетыжщ икIи жызоIэ къэбэрдей тхыбзэр къебгъэщтэнри нэхъыбэм ямыцIыху алыфбей щхьэхуэ зезыхьэу щыта мысыр динзехьэхэр къэбгъэтэджыжынри зэрызыр, дамыгъэрытхэхэр, стенограф тхэкIэр къепхьэжьэным ещхьщ ар. Хэт ищIэрэ, ахэр зыгуэрым хуэщхьэпэнкIи хъунщ, ауэ лъэпкъым и нэхъыбэм абы зэраныгъэ фIэкIа къыхуихьынукъым». Макаровым зегъэлIыфI, Къэбэрдейм егъэджакIуэхэм папщIэ къыщызэIуаха еджапIэм ехъулIэныгъэшхуэ игъуэтакъым жеIэри. Абы гу лъимытэ зещI а еджапIэр фIыуэ лэжьэным зэран хуэхъуа щхьэусыгъуэхэу адыгэ узэщIакIуэм зи гугъу ищIхэм. Къэбэрдей алыфбейм Макаровыр «ХьэтIохъущокъуэм и пщIыхькIэ» йоджэ. «Къэбэрдей тхыбзэ зэрыщыIэм и щыхьэту къуажэ егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр еджапIэхэм щIэсахэр адыгэбзэкIэ тхэуэ щытащ», - жеIэ ХьэтIохъущокъуэм. Сыт, а еджакIуэу щытахэр егъэджакIуэ хъуфауэ пIэрэ? Иджыпсту щыIэ «еджакIуэкIэ» узэджэ хъун?.. Сэ апхуэдэ Iуэхухэм семыпщIыхьми, адыгэ тхыбзэм зрагъэубгъун IуэхукIэ пщIыхьэпIэм хэтхэм зэран сахуэхъуркъым». ХьэтIохъущокъуэм итха жэуапым Iэдэб зыхэлъ бзэ зэпIэзэрыткIэ къыщыхегъэщ къуажэ IуэхущIапIэхэм щызекIуэ дэфтэрхэр адыгэбзэкIэ зебгъакIуэмэ, адыгэ тхыбзэм псынщIэ дыдэу зэрызиужьынур. «Макаровым адыгэ тхыбзэм зегъэужьын зэрыхуейм теухуауэ иIэ еплъыкIэр дэ дыдейм жыжьэуи гъунэгъуи бгъэдыхьэркъым, - жеIэ Къазий. - Абы жыхуиIэр пщIэмэ, тхыбзэм и зыужьыныгъэр игъащIэкIи уи нэгу къыпхущIэмыгъэхьэн зэман жыжьэкIэ IукIуэтынущ…» ХьэтIохъущокъуэм и тхыгъэм Макаровыр игъэбэяуакъым. «Тэрч хъыбархэм» и 30-нэ номерым абы аргуэру тхыгъэ къытрырегъадзэ, иджы Къэбэрдейм адыгэ тхыбзэ къыщебгъащтэмэ, ар урысыбзэм зиужьыным зэран хуэхъуну щыжиIэу. Абы идэркъым дэфтэр лэжьыгъэхэр адыгэбзэкIэ зегъэкIуэн Iуэхур. «Мыбдежым «сыт щхьэкIэ», «дауэ» жыпIэу ущIыщIэупщIэххэн, «сыт адыгэбзэкIэ дэфтэр зебгъакIуэ щIэмыхъунур?» жыпIэу упщIэ щIэбгъэувын щхьэусыгъуэ щыIэххэкъым. Дэфтэрхэр Iэмал имыIэу урысыбзэкIэ зекIуэн хуейщ», - етх Макаровым. Зэдауэр кIыхьыIуэ щыхъум, газетым и 33-нэ номерым ХьэтIохъущокъуэм «Макаровым хуэгъэза иужьрей жэуап» къытрырегъадзэ. Адыгэ тхакIуэм абы аргуэру къыщыхегъэщ цIыху нэхъыбэм урысыбзэр зэрагъэщIэху адыгэ тхыбзэм и Iуэху къепхьэжьэ мыхъуну жызыIэм зэримыакъылэгъур икIи жеIэ: «Къэбэрдейм урысыбзэр къыщыщебгъащтэкIэ абы цIыхухэм тхэкIэ-еджэкIэ зэрагъэщIэн Iуэхур игъэгувэнукъым», - къехь Макаровым шэч зыхэмылъ, ауэ Iуэхум щымыщ гупсысэ. НэгъуэщI зыгуэр жызыIэри къуаншэт. Дэ жытIахэми зы псалъи къыхэхуэркъым урысыбзэм зиужькIэ тхэкIэ-еджэкIэ Iуэхур гувэну къикIыу. Дэ жытIар Къэбэрдейм щыпсэухэм урысыбзэкIэ тхэкIэ-еджэкIэ зэрагъэщIэху тхыбзэм зегъэужьын Iуэхур къыхэдмылъхьэмэ, адыгэхэм илъэс бжыгъэшхуэ дэмыкIауэ тхэкIэ-еджэкIэ зэрызэрамыгъэщIэфынурщ. А тIури зыкъым, зиусхьэн Макаровым жытIам нэгъуэщI зыгуэр кърихыну хэтми». Гъэхуауэ, щыхьэтхэри къихьурэ пхегъэкI ХьэтIохъущокъуэ Къазий и Iуэху еплъыкIэр. Абы «жэуап гуащIэ» ирет зауэлI-тэрмэшхэр зыгъэхьэзыр Новочеркасск дэт гимназием и къухьэпIэ къудамэм тхыбзэ зимыIэ адыгэбзэр щрагъэджу зэрыщымытар, абы зыри зэрыхуэмыныкъуэр, мыхьэнэи зэримыIэр жызыIэ Макаровым. ХьэтIохъущокъуэм и макъым зримыгъэIэту ягу къегъэкIыж адыгэ тхыбзэр къухьэпIэ къудамэр къызэIуахын ипэкIи зэрыщыIар. «Лъэпкъыбзэхэр нобэр къыздэсым зыми, дэ дызэрыщыгъуазэмкIэ, мыхьэнэ зиIэрэ зимыIэкIэ зэхидзакъым. Новочеркасск дэт гимназием адыгэбзэр щрагъэджу щIыщымытар нэгъуэщI щхьэусыгъуэщ», - жеIэ абы. Адыгэ лъэпкъым тхыбзэрэ и бзэкIэ игъуэтыжа щIэныгъэрэ иIэну зэрыхуэфащэм хахуэу къыщхьэщыжурэ, ХьэтIохъущокъуэ Къазий и лэжьыгъэр мыпхуэдэу еух: «Зиусхьэн Макаров игу зэгъэн папщIэ жыIапхъэщ абы мысыр динзехьэхэм я алыфбейм, дамыгъэрытхэхэм, стенограф тхэкIэм нэгъунэ иригъэщхь адыгэ алыфбейр цIыху мелуанипщIхэм зэрамыгъэщIэнкIэ Iэмал имыIэу зэрыщымытыр. Хъарзынэщ ар цIыху минхэм, хьэмэрэ цIыхуищэхэм, уеблэмэ цIыху пщIы бжыгъэхэм зэрагъащIэми». ХьэтIохъущокъуэ Къазийрэ Макаров Тимофейрэ я зэхуакум щекIуэкIа щIэныгъэ зэдауэм адыгэр нэрылъагъуу щытекIуащ. Хъийми имыкIыу, жагъуэгъум и псалъэ папцIэхэр къипхъуатэурэ хуэзэу жэуап езытыжыфа ХьэтIохъущокъуэр щIэныгъэ дауэкIи зэрыIэзэр ар щхьэхуимыту зыхэхуа зэпеуэм къигъэлъэгъуащ. Интеллигентым хэлъыпхъэ Iэдэбыр дэплъагъуу, абы Макаровым и псалъэ пхъашэхэм гъэхуарэ гурыIуэгъуэу жэуап иритыфащ. Акъылэгъу ухуэмыхъункIэ Iэмал имыIэу, ХьэтIохъущокъуэм утыку кърилъхьащ Къэбэрдейм анэдэлъхубзэкIэ тхыбзэм зыщегъэужьын хуейуэ къызэрилъытэри къыщIилъытэри. Адыгэхэм урысыбзэ зэрагъэщIэну зэрыхуейм гу лъыуигъэта нэужь, абы тегъэчыныхьауэ жеIэ абы щыгъуэми хамэбзэр анэдэлъхубзэм и пIэ къызэримыувэфынур. Ауэ щыхъукIэ, анэдэлъхубзэкIэ щIэныгъэ зэрагъэгъуэтмэ, абы и лъэпкъэгъухэм урысыбзэри нэхъ тыншу зэрагъэщIэфынущ, урыс щэнхабзэми нэIуасэ нэхъ псынщIэу зыхуащIыфынущ. Абы улъэIэсын папщIэ, дэфтэр лэжьыгъэхэр адыгэбзэкIэ зэфIэзыхыфын цIыхухэр егъэджэн хуейщ. Макаровым ХьэтIохъущокъуэм и жэуап лъэщыр Iэрыхьа нэужь, и жьэр зэтрипIэныр нэхъ захуагъэу къилъытэжащ, текIуэныгъэр щIэныгъэ зыбгъэдэлъ щIалэ губзыгъэм, бгырыс хахуэм зэрыхуэфащэм и щыхьэту. БЕКОЕВА Татьянэ, Егъэджэныгъэ щIэныгъэхэм я доктор, Хетагуровым и цIэр зезыхьэ Осетие Ищхъэрэм щыIэ университетым и доцент. КУДЗАЕВА Аксанэ, егъэджэныгъэ щIэныгъэхэм я кандидат, Хетагуровым и цIэр зезыхьэ Осетие Ищхъэрэм щыIэ университетым и доцент. Къэбэрдей тхыбзэр къегъэщтэн IуэхукIэ Псоми зэращIэщи, Кавказым щыщ бгырысхэм зэи езыхэм я тхыбзэ яIэу щытакъым. Муслъымэн диныр къызэращтэрэ, дин лэжьыгъэхэр зэрызэфIахри, куэд дыдэ мыхъу дэфтэр тхылъхэм къыщагъэщхьэпэри хьэрыпыбзэрщ. Апхуэдэ щIыкIэу къэбэрдей адыгэхэм диным къыдэкIуэу хьэрыпыбзэ бзэмыIумкIэ тхэкIэ зэрагъэщIащ, нэхъыбэу ар зи фIыгъэр муслъымэным къурIэныбзэ ищIэн зэрыхуейм зыми шэч къызэрытримыхьэрщ. Сабий псоми, хъыджэбз цIыкIухэри яхэту, хьэрыпыбзэкIэ тхэкIэ-еджэкIэ зэрагъащIэ. Ауэ пасэрей Iэмал гугъукIэ къызэрабгъэдалъхьэм къыхэкIыу, ар зэбгъэщIэным илъэс зыбжанэрэ къаруушхуэрэ токIуадэ. Абы къару лейуэ ихьыр зыхуэдизыр къыбгурыIуэн папщIэ сохъустэхэм, илъэсипщIкIэ еджа нэужьи, хуиту тхэуэ икIи еджэу зэрызэрамыгъэсэфыр щапхъэу урикъунщ, зэджэр къагурыIуэу тхыгъэр зэрадзэкIыфыным и гугъу умыщIыххэ. Абы къыхэкIыу, нэгъэсауэ хьэрыпыбзэ зэзыгъэщIэфыр ар зи къалэну щыт молэ закъуэтIакъуэхэрщ. Адрейхэр – хъулъхугъи бзылъхугъи зэхэту – КъурIэным къызэреджэф къудейм зэрыщхьэдэхышхуэ щыIэкъым. Пщы-уэркъхэм гугъу зыщIрагъэхьын щымыIэу ялъытэри, ямыщIэнкIэ Iэмал зимыIэ нэмэзыбзэ тIэкIу зэраIурылъымкIэ Iуэхур зэфIагъэкI. Апхуэдэ щIыкIэу псори зыщыгъуазэ хьэрыпыбзэм, хъу-мыхъуми, цIыхубэр тхэн-еджэн IуэхукIэ зыхуей-зыхуэфIхэм зэрылъигъэIэсым щхьэкIэ, анэдэлъхубзэкIэ тхэн-еджэныр Iэмалыншэу къалъытэркъым. Адыгэхэр урысхэм нэIуасэ яхуэхъуу щIэныгъэм фIыуэ хэлъыр ялъагъуну Iэмал зэрагъуэтрэ, хьэрыпыбзэм цIыхубэр зыхуей псоми зэрылъимыгъэIэсыфри, куэдым зэрамыщIэм къыхэкIыу ар щIэныгъэм ухуэзышэ Iэмал нэхъыфI дыдэу зэрыщымытми гу лъызытэ нэрыбгэ гуэрхэр къыкъуэкIащ. Псалъэм папщIэ, плIыщI гъэхэм япэ дыдэу ягу къэкIащ адыгэ тхыбзэ къызэбгъэпэщын папщIэ лъэпкъыр зэребгъэджэн Iэмалхэм я нэхъыфIыр анэдэлъхубзэрауэ зэрыщытыр, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, лъэпкъым анэдэлъхубзэкIэ фIэкIа щIэныгъэ къыпхуегъэщтэнукъым. Сытми, еджэныгъэм фIыуэ хэлъ Iуэхум куууэ и гугъу дымыщIу, къэбэрдейхэм езыхэм я бзэкIэ тхэкIэ-еджэкIэ ирагъэщIэжу щытамэ, абы, шэч хэмылъу, Iуэхур нэхъ тынш зэрищIынум дытепсэлъыхьынщ… Иджы къэбэрдеибзэ алыфбейуэ щыIэхэмрэ цIыхухэр абыхэм нэIуасэ хуащIын папщIэ къагъэщхьэпа Iэмалхэмрэ зэ дахэвгъэплъэж. КъинэмыщIауэ, и гугъу тщIынщ адыгэхэм тхэкIэ-еджэкIэ ирагъэщIэн папщIэ генерал-майор Услар зэхилъхьа алыфбейми, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, а алыфбейр лъэпкъым зэригъэцIыхуакIэщ икIи администрацэм къабыл зэрищIым и фIыгъэкIэ абы нэхъ зиубгъуныфэщ. ЗэрыжаIэмкIэ, «Адыгэ лъэпкъым и тхыдэр» зытха Нэгумэ Шори плIыщI гъэхэм адыгэ грамматикэм елэжьащ, ауэ абы алыфбей щхьэхуэ гуэр зэхилъхьарэ урыс хьэрф къигъэщхьэпарэ тщIэркъым. Абы къыхэкIыу адыгэбзэ (шэрджэсыбзэ) псоми езэгъын алыфбей зэхэлъхьэн IуэхукIэ япэ лIыгъэр зезыхьар Ставрополь губернием дэт гимназием адыгэбзэ щезыгъаджэу щыта абэзэхэ Берсей Умарщ. Зиусхьэн Берсейм и алыфбейр хьэрып хьэрфхэмкIэ зэхэгъэуващ, хьэрыпыбзэм хэмыт адыгэ макъхэр къигъэлъэгъуэн папщIэ тIэкIу ихъуэжауэ. ФIыуэ зэлэжьа алыфбейщ ар, дэбгъуэн щымыIэу бзэр зыхуэныкъуэ псоми лъэIэсу. Берсейр алыфбей къудейрэ грамматикэ тIэкIурэ зэхилъхьэу къэувыIэжакъым. Ар бзэ щIэныгъэми елэжьащ, и лэжьыгъэхэми пщIэ яхуэфащэщ. Шэч закъуи хэлъкъым Берсейм и алыфбейм щIэгъэкъуэн тIэкIу игъуэтатэмэ, псынщIэ дыдэу лъэпкъым зыщиубгъуфын хуэдэу зэрыщытам, ищхьэкIэ зэрыжытIащи, ар, хъу-мыхъуми, цIыхубэм нэхъыфIу яцIыху хьэрып алыфбейм къызэрытещIыкIам къыхэкIыу… Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, езы Берсейми абы и гъэсэн бгырыс еджакIуэхэми тхыбзэр бэм зэрыхапщэн Iэмал яIэххакъым. Уеблэмэ и алыфбейм щIэупщIэхэм ялъигъэIэсыфын хуэдэу, Берсейм еджакIуэхэм папщIэ тхылъу зыхуэныкъуэм хуэдиз къыхудэгъэкIакъым. Ставрополь гимназием щрагъэдж щIэныгъэ къудамэхэм я зэхуакум адыгэбзэм щиубыду щыта увыпIэм тепщIыхьмэ, Берсейм адыгэбзэр езыгъэдж егъэджакIуэм и пщэ къыдэхуэ псори игъэзэщIащ, и еджакIуэхэм я нэхъыбэр урысу зэрыщытари, Франджым щеджа езы зиусхьэн Берсейм урысыбзэр фIыуэ ищIэу зэрыщымытари Iуэхум хэту. Урыс еджакIуэхэм адыгэбзэ зэрызэрагъащIэшхуэ щымыIэу, а къащIа тIэкIури гимназием зэрыщIэкIыжу я щхьэм ирагъэхужу щытами (ар къызыщыщIыр адыгэбзэм и закъуэтэкъым), адыгэ еджакIуэхэм нобэми, хуэныкъуэ хъуху, абы зэригъэпэща тхыбзэр къагъэщхьэпэ. I850 гъэм Ставрополь гимназием яджын щыщIадза адыгэбзэр а зэманым Кавказ лIыкIуэу щыта Воронцов-джыназым КъухьэпIэ Кавказым папщIэ тэрмэшхэр игъэхьэзырын щхьэкIэ иригъэджу ара къыщIэкIынти, ар ипэм ямыджыну зыхуимыт щIэныгъэ къудамэу щытащ, иужькIэ къэзакъхэмрэ къалэдэс сабийхэмрэ фIэкIа ирамыгъэджыж хъуащ, икIэм икIэжым гимназием щадж бзэхэм хагъэкIыжыпащ. Ставрополь иужь иту а бзэр джын щыщIадзауэ щыта Ейск дэт гимназиеми ардыдэр къыщыхъуащ. А зэманым щегъэжьауэ, дэ дызэрыщыгъуазэмкIэ, зыри иужь итакъым Берсей Умар зэригъэпэща адыгэ (шэрджэс) тхыбзэм лъэпкъым зыщригъэужьыну, ауэ шэч хэлъкъым Iэмал къызэрыкъуэкIыу ар аргуэру, Къэбэрдейр армырами, нэгъуэщIыпIэ къызэрыщыунэхужынум. ХьэтIохъущокъуэ Къазий, I870 гъэ, «Тэрч хъыбархэр», №I8 (пычыгъуэ).
{ "source": "adygabza.ru", "id": "qaziy.txt" }
Токмакова Иринэ ЗэзыдзэкIар Къуэжей Астемырщ Хьэнтхъупс IэфI Куууэ – мычэнжыххэу, Тепщэчым щосыр кхъухьхэр Зы бжьыныщхьэ, Пхъы плъыжьыфэ, Хугу тIэкIу, кIэртIоф, ИтIанэ Къунтхъурей удзыфэ. Мисыр кхъухьхэр йосыр, ЗанщIэу ди жьэм носыр.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "quajeiastemir.txt" }
Барто Агния ЗэзыдзэкIар Куэшей Дисанэщ ЧыцI СиIэщ сэ зы чыцI зэкIуж. Сэ езым ар согъэхъуж. А чыцI цIыкIур нэху зэрыщу, Хадэ щхъуантIэм жьыуэ схьынщ. А жыг хадэм ар щыгъуащэм - УдзыпцIэм къыщызгъуэтыжынщ.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "quasheydisana.txt" }
Лъэпкъ щэнхабзэмрэ ар зэрагъэкIуэд Iэмалхэмрэ Иджыблагъэ «Кавказ узелым» хъыбар зэбгритыкIащ Правительствэм и унафэкIэ республикэм иджыри къэс тхьэмахуэм тхуэ къыщыдэкIыу щыта газетхэр щэрыщэ фэкIа къызэрыдэмыкIыжынум теухуауэ. Си губжьыр социальнэ зэпыщапIэхэм зыгуэру щыхэзэрыхьащ – хэти ищIэн егъуэт. ИтIани ар зэ IуплъэгъуэкIэ къызэрыпфIэщIым хуэдэу уигу тебгъахуэ хъун Iуэху джэгукъым. ДызищIысыр къыдэзыгъэщIэж, ди щхьэ пщIэ щIыхуэтщIыж ди къежьапIэхэм, адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ я пщэдейрей махуэм аргуэру зы удын къытехуауэ аращ. ЛъэныкъуитIкIэ къикI а удынхэр совет зэманым щегъэжьауэ куэд щIауэ зэхыдощIэ. Зы лъэныкъуэкIэ, ди бзэмрэ ди щэнхабзэмрэ и импер щхьэхуещагъым емыбэкъуэф федеральнэ унафэм щIипIытIэ зэпытщ. Адрей лъэныкъуэмкIэ, дэри ди къытфIэмыIуэхуныгъэкIэ, къыдгурымыIуэныгъэкIэ ахэр дгъэкIуэдыжыным дыхуэерыщщ. Адрейхэм ещхьу, сэри куэд щIауэ гу лъызотэ а Iуэхухэм, Iэмал зэриIэкIэ ахэр хъума хъуным солIалIэ икIи къызыфIэIуэху срихьэлIэху сигукIи си псэкIи сащогуфIыкI. Псалъэм папщIэ, уимыгъэгуфIэнкIэ Iэмал иIэкъым иджы дыдэ филологие щIэныгъэхэм я доктор ХьэкIуащэ Мадинэ лъэпкъыбзэхэр гузэвэгъуэ зыхэхуам, дэнэкIи щызэхахын хуэдэу, щытепсэлъыхьа и тхыгъэм. «ЩIым къытенэ лъэужь», «Мэлбахъуэмрэ лъэпкъыбзэхэмрэ» тхыгъэхэмкIэ сэри «Литературная Кабардино-Балкария» журналым утыку къыщислъхьауэ щытащ а Iуэхухэр. Бзэхэр хъумэн зэрыхуейм и гугъу щащIкIэ Мэлбахъуэм и жыIэгъэхэр щIэх-щIэхыу сигу къокIыж. Лъэхъэнэхэм я нэхъ гугъум лIыгъэ зэрызэрахьэ дерс ди нэгу щIигъэкIауэ щытащ абы, псори урыс ящIыну щыхэт зэманым партым и унафэм пэщIэувэн мышынэу, КПСС-м и обкомым и бюром лъэпкъыбзэхэр хъумэн зэрыхуейм теухуа Iуэху къыщиIэтам щыгъуэ. А махуэм, 1968 гъэм екIуэкIа а зэхуэсым абы къыщипсэлъауэ щытар ищхьэкIэ зи гугъу сщIа тхыгъэхэми, гъусэ сиIэу къыдэзгъэкIа «Щэхуу псалъэт – псоми зэхахт» тхылъми къыщызохь. Мис мырат жиIар обкомым и секретарыр къыщыпсалъэм: «Дэ езым ди бзэмрэ ди лъэпкъымрэ пщIэ яхуэдмыщIыжмэ, - лъэпкъым лъэпкъыу зезыгъэлъытэжыр и бзэмрэ и псалъэмрэщ, - сыт лъэпкъ гъуазджэти, лъэпкъ щэнхабзэти жытIэурэ къэджыхьу дыщIыдэтынур, апхуэдиз тхылъ анэдэлъхубзэкIэ къыщIыдэдгъэкIынур? Хэт щхьэкIэ? Зи бзэр зымыщIэжу зыщIэнуи хуэмеиххэхэм папщIэ? ИIэ-тIэ Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м «Налшык область» фIэдывгъэщ. Дэри зыдгъэпсэхужынщ, къэралри занщIэу пщIыкIэ нэхъыбэжу тыншыжынщ, езыри къыдэлIэлIэн хуэмеижу, дэри гугъу демыхьу…» А къэпсэлъэныгъэр сыт щыгъуи сигу илът, фIэкIуэдын иIэ пэт, и лъэпкъым и хьэтыркIэ къекIуэкI зэхэтыкIэм пэщIэувэфа цIыхум и лIыгъэм ситхьэкъуу. Ара къыщIэкIынщ Урысей Ипщэм хъыбарегъащIэ Iэмалхэр зэрыщылэжьапхъэм щытепсэлъыхьын папщIэ, Сочэ цIыхушхуэхэр щызэхуашэса зэхуэс щхьэпэ гуэрым сыщыщыIам, зэхуэсыр езыгъэкIуэкI Печатымрэ хъыбарегъащIэ Iэмалхэмрэ я федеральнэ унафэщI Сеславинский Михаилрэ Ипщэ Федеральнэ округым а зэманым и унафэщIу щыта Козак Дмитрийрэ (ар иджы Урысей правительствэм и унафэщIым и къуэдзэу мэлажьэ) илъэсыщIэм къыщыщIэдзауэ къэрал ахъшэкIэ регион къэс газет зырыз фIэкIа зэрыщамыгъэлэжьэфынур (ари унафэхэр цIыхубэм лъэIэсын къудей папщIэ) щыжаIэм, сыкъэпсэлъэн хуей щэхъуар. ТкIийт дакъикъэ пщыкIутхукIэ фIэкIа емыкIуэкIа си къэпсэлъэныгъэр. Зи гугъу сщIахэм къадэкIуэу яжесIар мырат: «Си гугъэмкIэ, ди къэралым гупсысэн щыщIадзэр Iуэхур ящIэн ящIа нэужьщ. Лъэпощхьэпор къызыхэкIыр зэхэбгъэкI щхьэ мыхъурэ? Сыт дэ тхуэдэу тхыдэ къулейрэ зыми къыдимыта хабзэхэмрэ зиIэ къэралым КъухьэпIэм къригъажьэу хъуамкIэ зыпищIыжын щIыхуейр? ГурыIуэгъуэкъэ лъэпкъыбзэкIэ газет, журнал, телевиденэ, радио щымыIэмэ бзэр зэрыкIуэдыжынур, абы къикIращи - лъэпкъыр дунейм зэрытебзэхыкIыжынур. А Iуэхур псом хуэмыдэу куууэ щызэхощIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым хуэдэ щIыпIэ зыбжанэм, щхьэусыгъуэ щхьэхуэ иIэщ абы. ИлъэсищэкIэ екIуэкIа Кавказ зауэм адыгэкIэ зэджэж къэбэрдейхэри, шэрджэсхэри, адыгейхэри хэкум пэIэщIэ ищIащ. Щхьэхуимыту хэхэс хъуахэм я щIэблэр иджы Тыркумрэ нэгъуэщI къэралхэмрэ щопсэу, я анэдэлъхубзэр псэуныгъэм пыщIа Iуэхухэм къыщагъэщхьэпэу. Сталин ирыригъэшу илъэс щэщIкIэ Азие Курытымрэ Казахстанымрэ щыпсэуа къэрэшейхэмрэ балъкъэрхэмрэ я бзэр къызэрызэтенар зи фIыщIэр езыхэмрэ ди щхьэщыгум итымрэщ. Зи гугъу сщIа лъэпкъхэм я тхыбзэр къаIурыпчрэ аргуэру апхуэдэ удын ятебгъахуэмэ - тхыдэри щыхьэтщ - абыхэм ар яхуэшэчынукъым, къыщIадзэжуи щIэрыщIэу я бзэхэр зэфIагъэувэжыфынукъым. ЩIызэфIамыувэжыфынур а бзэр зыIурылъхэм ар IуэхущIапIэхэм, къэрал IэнатIэхэм къыщагъэщхьэпэну Iэмал яIэкъыми аращ. Мыр нобэ къежьа Iуэхукъым, псори «зы тхыдэ жыпхъэм» драукIэну щыхэта совет зэманым щыщIэдзауэ къокIуэкI». Сыкъыщыпсалъэм жысIахэр Кавказ Ищхъэрэм щылажьэ хъыбарегъащIэ Iэмалхэм зэбгратыкIауэ щытащ. Налшык сыкъэкIуэжа нэужь, Iуэхур зэрекIуэкIар президентым жесIэжмэ нэхъыфIу сегупсысащ. Япэрауэ, КъБР-м Печатымрэ информацэмрэ и унафэщIым сыщрикъуэдзэкIэ, сэри сыкъэрал къулыкъущIэт. ИтIанэ президентымрэ КъБР-м и правительствэмрэ я пресс-службэм сыщриунафэщIкIэ, къэралым щекIуэкI Iуэху еплъыкIэм республикэм и унафэщIыр щыгъуазэ сщIын хуейт. КIуэкIуэ Валерэ тэмакъкIыхьу къызэдаIуэри, зэрихабзэу, тIэкIурэ гупсыса нэужь, зэуэ къызэфIэувэри кабинет кIуэцIым щикIукIын щIидзащ: «Мыр япэукъым абыхэм къызэрыдащIэр, езыхэм я Iуэху еплъыкIэр къэтщтэн хуейуэ къытпаубыду. Псори пэжу яжепIащ, дэри тхузэфIэкI къэдгъанэ хъунукъым ди щэнхабзэ къызэрымыкIуэр, ди бзэхэр, ди хабзэхэр тхъумэжын папщIэ. Президент зэхуэсым Iуэхур къыщыIэтауэ щытепсэлъыхьын хуейщ…» Валерэ апхуэдэу зэрыжиIам Мэлбахъуэр зытета гъуэгум иджыри дызэрытетыр си фIэщ ищIри сыгуфIат, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы щыгъуэми нобэми зэи шэч къытесхьакъым зи бзэр зымыщIэж цIыхур и бзэкIэ къыдэкI газет-журналхэм зэремыджэнум. Ара къыщIэкIынщ иджыпсту адыгэбзэрэ балъкъэрыбзэкIэ къыдэкI газетхэм я тиражыр щIэмащIэ дыдэр. Абы къыбгуригъаIуэр сыт? Япэрауэ, а газетхэм ятекIуадэр къалэжьыжыфынукъым. ЕтIуанэрауэ, икIэщIыпIэкIэ зыгуэр къэдмыгупсысмэ - депутат лIэужьыгъуэу хъуам, цIыхубэ зэгухьэныгъэхэм, лъэпкъ зэщIэхъееныгъэхэм иджыпсту зэрыгъэкIиен щIамыдзэмэ, федеральнэ унафэм щIыналъэм и нэхъыщхьэхэр лъэпкъ газетхэм къэрал ахъшэ трагъэкIуадэну хуит ищIынукъым; дэ ди унафэщIхэми абыхэм зыдрагъэкIунущ, республикэ газетхэм я къыдэкIыгъуэхэр зэрыхагъэщIам, лъэпкъыбзэм текIуадэ сыхьэт бжыгъэхэм зэрыкIэрачам ещхьу. Абы къикIыр илъэс зыбжанэкIэ - лъэпкъыбзэхэр зыIурылъхэм къэхъуар къагурыIуэху - ди бзэкIэ тхыгъэ дыкъеджэжыну Iэмал димыIэжыну аращ, нобэ теленэтын деплъын Iэмалыр зэрытIэщIахам хуэдэ дыдэу. Ауэ Iуэхур гузэвэгъуэ дыдэм зэрыхуэкIуар къыдгурыIуа нэужь, дызылъэмыIэсыжыфын куэд тIэщIэкIыпауэ, хэщIыныгъэхэри абрагъуэу къыщIэкIынущ. Япэрауэ, щIэджыкакIуэхэм я IыхьэфI тфIэкIуэдынущ. ЕтIуанэу, армырми мащIэ дыдэ фIэкIа мыхъу, улахуэ мыхьэнэншэкIэ газет мыIейхэр къыдэзыгъэкI журналист тIэкIур тIэщIэкIынущ. Газетым, телевиденэм, радиом щылажьэ журналист нэхъыжьхэр зэрыщхьэщыкIуэту, нэхъыжьхэмрэ нэхъыщIэхэмрэ зэпэIэщIэ хъунурэ, сыт хуэдэ щIыкIэкIэ дыIэбэми, диIам дылъэIэсыжынукъым. Аращи, дыщыпсэунщ ди Хэкум, дыкъыздикIар дымыщIэжу. ИлъэсипщI бжыгъэхэр дэкIмэ, дыщIэгушхуэ ди щэнхабзэ куури, ди хабзэжьхэри дгъуэтыжынукъым. КъытщыщIынуращ: нэхъыжьхэм яхъумащ, езыхэр зыIууа лъэпощхьэпо псоми къыпхахри уи деж къахьэсащ, ауэ уэ уи ужь къиувахэм яIэрыбгъэхьэжыфакъым. Дыхэт дэ итIанэ? Дыгъуасэ хуэдэм «сыадыгэщ» щыжыпIэну, адыгэбзэкIэ ущыпсэлъэну (уи бзэкIэ газет къыдэбгъэкIыным и гугъу сщIыххэкъым) Iэмал ущимыIа Тыркум сыт дэ итIанэ дыкъызэрыщхьэщыкIыр? Iуэхур абдеж щиухын къызыфIэщIхэр щоуэ. Лъэпкъыбзэхэр хъумэн хуитыныгъэр зэрытфIэкIуэду, щэнхабзэри, хабзэри, лъэпкъ дуней тетыкIэри кIуэдынущ. ЗгъэщIэгъуэнукъым пщэдей унафэщIхэм, псалъэм папщIэ, лъэпкъ театр дгъэлэжьэжыфынукъым жаIэмэ. Жыжьэ мыплъэ (щабэу жыпIэмэ) унафэщIхэм абы и закъуэкъым къуащIэфынур. Псалъэм папщIэ, Тэтэрстаным апхуэдэ епщIэмэ, зэрызэхищIэнышхуэ щыIэкъым. Ауэ дауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iуэхур зэрыхъунур, лъэпкъхэр мамыру зэдекIуэкIын, лъэпкъыбзэхэр хъума хъун, щIыналъэр мамыру псэун папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу газетищ, журналищ, къэфакIуэ ансамблищ къэралым игъэлажьэу, абыхэм папщIэ IэщIагъэлIхэр игъэхьэзыру щымыIэмэ? Дауэ Дагъыстаным, Къэрэшей-Шэрджэсым хуэдэ лъэпкъ куэд зэрыс республикэхэр зэрыхъунур? Сыт дэ дызэрыкъуаншэр щIы дагъэ къыщIэшыпIэ, дыщэ къыщIэхыпIэ, КАМАЗ къыдэзыгъэкI заводхэр димыIэмэ? Дэра къуаншэр ди нэхъыжьхэмрэ дэрэ къэдлэжьар дыщыхуейм деж къыдитыжыну жиIэу зэщIэзыкъуа къэралыр къызэрыдэдыгъуэжамкIэ? КъызэрыщIэкIымкIэ, ар, зыми и жагъуэ иремыщIи, пцIыт. Аргуэру дыкъагъэпцIащ. Илъэс 30 хъуауэ мы щIыналъэм унафэ ткIийкIэ щрагъэжьа, къэралыр хъумэным телажьэу щыта заводхэр лэжьэжкъым. ЦIыху минипщI бжыгъэхэр уэрамым къыщыхутащ, ауэ «фыхуэныкъуэ хъумэ, дывдэIэпыкъунущ» жызыIа къэралым апхуэдэ Iуэху цIыкIуфэкIухэр къыфIэIуэхукъым. ДылIэнкъым, абыи дыкъелынщ, ауэ а IуэхущIапIэхэр лажьэу, абыхэм къалэжьым щыщ республикэ мылъкум кIуэуэ щытатэмэ, дэ къэдлэжьыр дрикъужынут, зызэрытхъумэжын Iэмалхэри хэтыжу. КъытщIэхъуэ щIалэгъуалэр гуп-гупурэ зы цIыху ныбжь зэрыдэкIыу щахэзэрыхьын нэгъуэщI къалэхэм Iэпхъуэнтэкъым. Iуэхур абы зэрыхуэкIуар щынэрылъагъукIэ, сыт Къэбэрдей-Балъкъэрым езым хухэхауэ, лъэпкъыр, хабзэр, щэнхабзэр зэрихъумэн программэ иIэн щIыхуэмейр? Сыт ди унафэщIхэм гъуэгу тыншыр къыхахыу езыхэм къызэрамыгъэпэщар щIыхагъэкIуэдэжыр? Сыт лъэпкъ зэщIэхъееныгъэхэмрэ зэгухьэныгъэхэмрэ щыму щIыщысыр, гъуоуэ яIэр ямыгъаджэу?! Лъэпкъыр бгъэкIуэдын щхьэкIэ куэд ухуейкъым, псом хуэмыдэу зыми лъэмыIэс Къэбэрдей-Балъкъэрым. Ауэ зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыж къэралым, сэ сызэрегупсысымкIэ, и лъэпкъыр имыгъэкIуэдыжу зэригъэпсэун Iуэху зэрехуэ. Апхуэдэу щытмэщ ар демократиер щызекIуэ къэрал лъэщ щыхъунур. Апхуэдэу фIэкIаи а къэралым и лъэпкъыр иригъэфIэкIуэн Iуэху зэрихуэу уи фIэщ ищIыфынукъым.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "quday.txt" }
АдыгабзэкIэ зэзыдзэкIыгъэр Къуекъо Налбый Пшъэшъэ мыгъасэр зэрагъэсагъэр Хэтхэр: Баптиста – Падуе щыпсэурэ лIэкъолъэш бай. Винченцио – Пиза щыщ лIэкIолъэш, лIыжъы. Люченцио – Винченцио ыкъу, Бьянкэ шIу елъэгъу. Петруччо – Веронэ щыщ лIэкъолъэш, Катарина ипсэлъыхъу. Гремио - Бьянкэ ипсэлъыхъох Гортензио - Бьянкэ ипсэлъыхъох Транио – Люченцио иунэIутых. Бьонделло – Люченцио иунэIутых. Грумио, Кертис, Натаниэль – Петруччо иунэIутых. Никлас Филипп. Питер. Катарина, Бьянка – Баптиста ыпхъух. Пхъужъыр. ДакIор – галантерейщикыр, Баптистэрэ Петруччорэ яунэIутхэр. АПЭРЭ ЕДЗЫГЪУ Апэрэ къэшIыгъу Падуя. Площадыр. Къехьэх Люченцио, Транио. ЛЮЧЕНЦИО Сэ гугъэ лъапIэу сиIэр къыздэхъугъ Слъэгъунэу Падуя, шIэныгъэм и къежьапIэ, Италиеу кIочIэшхом исад шIагъоу Ломбардиеми, марышъ, сыкъэсыгъ. КъызэрысфэшIум сятэ ихьатыркIэ. КъысфэгумэкIи, гъусэ укъысфишIыгъ. Цыхьэ зыфэсшIэу, сиунэIутэу Транио, О уишъыпкъагъи сIэпыIэгъущт. Тыщыпсэущт мыщ титIо, сыхьатмафэу Наукэхэр зэдгъашIэу зытшэтэщт. Сыкъызщыхъугъэр Пиза сэ. А къалэм ЦIыфышIоу дэсмэ ацIэкIэ, бэшIагъэу Ищытхъу зэлъашIэ. Ахэмэ ащыщ Винченцио – сятэ, илIакъокIэ – Бентиволио. Дунаим тетэп сатыу ащ димышIэу. Флоренцием сыщипIугъ сэ. Ащ игугъэ Джы къэзгъэшъыпкъэжьынэу сипшъэрылъ. ШIушIэныр гъусэ фэсшIыжынышъ мылъкум. СызкIыпыхьащтыр, Транио, джащ пай Сэ философием ылъэныкъоу КъэзыIорэм – насыпыр уишIушIагъ. Къызэрэдэпхынэу щыIэ закъор. Сыд къепIолIэщт? IэкIыбы къэсшIи Пизэ, СыкIэгуIагъэр Падуе сыкъэсыфэ – Псыщэнджыр сыбгынэнышъ, икуупIэ ЗычIэзгъэонышъ, псынкIэу, сигопэгъу ЩыдэзгъэкIынэу ары гъунэм нэсфэ. ТРАНИО Къысфэгъэгъу, лIы шIагъоу сизиусхьан! Сигуапэ о уишъыпкъэу теуубытагъэшъ Философием иIэшIугъэ ууплъэкIунэу. Ау, зиусхьан, фэсшIыщтми лъытэныгъэ ШIушIэным уфэзыпIурэ философием, Къин пстэури зэпытчынэу ищыкIагъэп, Хьисапыр, метафизикэр, осIон занкIэу, Гъэфедэх, ныбэм къемыхьэлъэкIынхэу. IэшIугъэ зыкIэмылъым шIуагъи хэлъэп. Угу рихьрэр ары зэбгъэшIэны фаер. ЛЮЧЕНЦИО Опсэу о, Транио! Сыбгъэгъозагъ боу дэгъоу. Джы дгъотыжьыгъагъэмэ Бьонделло, ТиIофхэр Падуя тэ дэдгъотэщтхэр, Ебгъэблэгъэн плъэкIынэу тыубытыни. Зэгу зэ! ТадыжькIэ хэта мы къежьагъэр? ТРАНИО Купышхоу къытпэгъокIхэу къышIэчIын. (Баптиста, Катарина, Бьянка, Гремио, Гортензиор къехьэх. Люченцио, Транио IокIотых).
{ "source": "adygabza.ru", "id": "queqo.txt" }
КЪУМАХУЭ Аслъэн Убых фIэщыгъэхэр ЩIым и бзэ Ди япэ псэуа щIэныгъэлIхэм, еджагъэшхуэхэм къызэранэкIа я тхыгъэхэр «къызэрытхуэупсэм» нэхърэ нэхъыбэжкIэ «то-понимика» щIэныгъэр, «ЩIым и бзэкIэ» зэджэр, къыщыдэти къохъу. Абы зыри пхупылъхьэнукъым, пхуэхэпщэнукъым, пцIы ебгъэупсыну яужь уихьэми, жыжьэ унигъэсынукъым. «ЩIыпIэцIэхэр фэеплъщ ахэр къыщызэтена щIыналъэхэр зи хэщIапIэу щыта лъэпкъхэм я дежкIэ», – щитхыгъащ географие щIэныгъэхэм я доктор Мурзаев Эдуард «Географиер – фIэщыгъэхэмкIэ» и тхылъ купщIафIэм. Сочэ къалэм и Iэшэлъашэм ноби къыщагъэсэбэп щIыпIэцIэхэр къызэрыунэхуа щIыкIэр зэхэзыгъэкIыну яужь ихьэ дэтхэнэми а щIыналъэм нэхъапэм щыпсэуа лъэпкъхэм я бзэхэм я IукIэри, я зэхэлъыкIэри тегъэщIапIэ ищIын хуейщ. Сыту жыпIэмэ, а Iэгъуэблагъэм ноби къыщагъэсэбэп щIыпIэцIэхэм куэду яхэтщ а лъахэм щыIуу щыта бзэхэм: убыхыбзэм, садзхэм (абазэ лъэпкъщ) я бзэм, нэгъуэщIхэми я псалъэпкъ щхьэхуэхэр, уеблэмэ, лъабжьитI-щы яIэу. Псалъэхэр щызэгъунэгъуам Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, тенджыз ФIыцIэм и ипщэ-къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ и псыIум адыгэхэр, абазэхэр, убыххэр зэгъусэу илъэсищэ бжыгъэкIэ Iусыгъащ. Абы къыхэкIащ зым и бзэр адрейм зригъащIэу къызэ-рекIуэкIари, я псэлъэкIэхэм хэт языныкъуэ жыIэгъуэхэр я гъунэгъу лъэпкъхэм къызэращтари, лъабжьэ зэхуэмыдэхэр щIыпIэ-цIэхэм зэрыщызэхэувари. Дызэрыщыгъуазэщи, Урыс-Кавказ зауэм и кIэуххэм убыххэмрэ (аптIэхъуэхэр) абыхэм япэгъунэгъуу псэуа «садз», «жыджэт» («садзы», «джигеты») абазэ лIакъуэхэмрэ къанэ щIагъуэ щымыIэу Тыркум Iэпхъуауэ щытащ. АтIэми, «ЩIым и бзэр» зыдж бзэ щIэныгъэлIхэм ящыщ куэдым зэрытрагъэчыныхьымкIэ, Сочэ и Iэшэлъашэм щежэх псыхэми ахэр зи лъабжьэ щIэж лъагапIэхэми ноби зэрахьэ фIэщыгъэхэм я нэхъыбапIэр а тIум- убыххэмрэ садзхэмрэ – я бзэхэм къатехъукIащ. АбыкIэ тегъэщIапIэщ урыс пащтыхь дзэзешэхэм яхуэла-жьэу, Кавказым щэхууи нахуэуи къыщызыкIухьа тIасхъэщIэххэм: Торнау Фёдор, Новицкий Геор-гий, Люлье Леонтий сымэ, къинэмыщIхэми, зауэ хуэIухуэщIэу, бгырысхэм я щIыналъэм и зэхэлъыкIэр къэзыIуатэу, зэхагъэувауэ щыта я картэхэри, Инджылыз, Франджы къэралыгъуэхэм, нэгъуэщIхэми къикIыу, адыгэ-убых-абазэ щIыналъэм зыщызыплъыхьа, уеблэмэ щыпсэуа: Дюбуа де Монпере, Белл Джеймс, Лапинский Теофил сымэ, нэгъуэщIхэми къызэранэкIа я тхыгъэхэри. Ахэр ди зэманми сэбэпышхуэ щыхъу щыIэщ, зи гугъу тщIы щIыпIэцIэ-хэм къарыкIыр зэхэгъэкIынымкIэ. «Курыт лIэщIыгъуэхэм я пэщIэдзэм къыщегъэжьауэ Урыс-Кавказ зауэр иухыху, Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм ипщэ-къухьэпIэмкIэ гъэза и джабэ нэкIухэм, нэхъ пыухыкIауэ къэдгъэлъагъуэмэ, Хъуэстрэ Шахэрэ я зэхуаку дэлъ щIыналъэм, а лъэхъэнэм исы-гъар убыхыбзэкIэ псалъэу щыта лIакъуэхэрщ, – дыкъыщоджэ щIэныгъэлI, лъахэхутэ цIэрыIуэ Ворошилов Владимир «Топонимы Российского Черноморья. История и этнография в географических названиях» и тхылъ гъуэзэджэу 2007 гъэм Мейкъуапэ къыщыдигъэкIам. – Аращ, убыхыбзэм щыщу дызыщыгъуазэу къытхуэна псалъэхэр, адыгэбзэмрэ абазэбзэмрэ хэтхэм фIыуэ къащхьэщыкIхэр, къэдмыгъэсэбэпауэ, зи гугъу тщIы щIыгур ноби зыгъэдахэ щIыпIэцIэхэм я нэхъыбапIэм я къэунэхукIэ хъуар щIытхузэхэмыгъэкIынур…». Ворошилов Владимир а и Iуэху еплъыкIэр щIэзыгъэбыдэхэм ящыщ зыщ мы Iуэхугъуэри: языныкъуэ бзэ щIэныгъэлIхэр щы-хьэт зэрытехъуэмкIэ, убыххэм я псэлъэкIэр, ахэр иджыри Кавказым щиса иужьрей лъэхъэнэхэм, адыгэ, абхъаз, абазэ бзэхэм фIыуэ къащхьэщыкIат, IукIэ щхьэхуи игъуэтат. Дызэрыт лъэхъэнэмкIэ къедгъэзэкIыжынщи, щIыпIэцIэхэм «захэзыудыгъуауэ» щыта псалъэпкъхэм ящыщу, адыгэ, абхъаз бзэхэм къахэкIахэр къахэцIыхукIыныр куэдкIэ нэхъ тыншщ, а тIум я бзэхэм фIыуэ хэзыщIыкIхэр, ирилажьэхэр ноби зэрыди-Iэм и фIыгъэкIэ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, убыхыбзэм къыхэкIа пычыгъуэхэм я Iуэху зыIутыр нэгъуэщIщ, абыхэм къарыкIыр, къыщыунэхуам яIа теплъэр зыхуэдар къыдгурызыгъэIуэфыну щыта цIыхухэр гъуэтыгъуей дыдэ зэрыхъуам къыхэкIкIэ. А щхьэусыгъуэри ящыщщ бзитI-бзищым къыхэжэпхъыкIа псалъэпкъхэр лъабжьэ зыхуэхъуа, щызэщIэува щIыпIэцIэхэм я «лъащIэм» хуиту унэзымыгъэплъысхэм. Сочэ и Iэшэлъашэм ноби къыщагъэсэбэп фIэщыгъэхэм къыпхуэмыцIыхужын теплъэ зыгъуэта куэд щIахэтым нэгъуэщI зы щхьэусыгъуи иIэщ: Урыс-Кавказ зауэм и ужькIэ ахэр къыщратхэкIыжым, урыс дзэ топографхэм ящыщу адыгэ-убых-абазэ жыIэкIэр урысыбзэм къизыгъэтIэсэну яужь ихьахэм абыкIэ зэупщIыну ягъуэ- тыжар я лъахэм лъэщыгъэкIэ къафIинауэ щыта шапсыгъ-хьэкIув мащIэ тIэкIум ящыщхэрщ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, зызыхуагъэзахэм щIыпIэцIэхэм я нэхъыбапIэр къызэрапсэлъар яIурылъ бзэм (адыгэбзэм и шапсыгъ-хьэкIув диалектым) къазэрыхуигъэтIэсам хуэдэущ… Ди тхыгъэм и кIэухыу, убых фIэщыгъэу ялъытэхэм ящыщу щапхъитI къэтхьынщ. Бзыч Убыххэмрэ шапсыгъхэмрэ я щIыналъэхэм я зэпылъыпIэу къалъытэу щыта Шахэ псышхуэм сэмэгу лъэныкъуэмкIэ щыхолъадэ. И хэхуэжыпIэр хы псыIум километр 30-кIэ пэжыжьэщ. ЩIэныгъэлIхэм я нэхъыбэм зэрытрагъэчыныхьымкIэ, фIэщыгъэр убыхыбзэм къыхэкIащ, IыхьитIу зэхэлъщ: «бзы» – «псы», «чIы» – «чIыIэ», «щIыIэ». «Псы щIыIэ» жыхуиIэщ. ХОБЗА – Хъуэбзы - Хъуэпсы ПсыцIэщ. Сочэ тенджыз ФIыцIэм щыхэлъэдэжым къыщы-щIэдзауэ Ищхъэрэ-КъухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ километр 19-кIэ и псыIур «пыIухащ». Мы зэманым абдежым щыIэ курортми а цIэ дыдэр зэрехьэ. Мы фIэщыгъэм теухуауэ Iуэху еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ. Абыхэм ящыщу трагъакIуэр ар убыхыбзэм къызэрытехъукIарщ. «Хъуэ» псалъэм аптIэхъуэхэм я бзэкIэ дэ, адыгэхэм, «кхъуэ» зыхужытIэращ къикIыр. «Бзы» пычыгъуэр «псы»-м хуагъакIуэ. Аращи, Хобза-Хъуэбзы-Хъуэпсы. НэгъуэщIу жытIэмэ, «кхъуэпс» мыхьэнэращ фIэщыгъэр зэрыщыту зыхуэкIуэжыр.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "qumahovaslan.txt" }
Къущхьэ Якъубрэ Жэмботрэ я уэрэд Къуныжь ТIатIу и къуэ Хьэждал зэригъэзэщIам тету Дэ дыкъущхьэт, къущхьэм и жьанэм жи, уей, дыщалъхур. Дэ дыкъэзылъхугъэри дыщэкI унагъуэти, уей, мэунэр. Дыунэнщ жыдоIэр иджы Дохъутэмыщей тIэкIумэ, уей, дыдохьэ. Дэ дызыдыхьам иджы ди чэнджэщэгъухэри, уай, димыIэ. Дохъутэмыщхьэ диIэт иджы, дэ ди нэ ди псэмэ, уей, къылъохъур ЗэшитIу дыхъурти, шыхъуэ-шыхэпщурэ, уей, дыраIэт. ЩIым къэса закъуэмэ, ди анэжь тхьэмыщкIэри уэр и бынжэпыбзкъэ. Къалэм ущыкIуэкIэ, щIакIуэм и фIыцIэри пщIыпщIу пхузетхьэрт. Унэм укъэкIуэжмэ, шагъдийм и джабэри щIэтлъэщIыкIырт. Мэрем жэщыр къосыри, «Жамбот!» - жиIэурэ уой зы къоджэр. Абы и джэ макъымэ Нэгурэшу дахэр жи уей доушыр. Къимыгъэушынуэрэ шхыIэным и кIапэр жи уей хущIеупщIэр. Жамбот лIы пхъашэти, ар лIы мышынэт иджы, уей щолъэтыр. Зы лIы и фащэкIэ Къущхьэ Жамботмэ уей зехуапэ. Нэгурэшу дахэр жи къыщылъэтауэрэ уей мэлъаIуэр: - Ныжэбэризэмэ уэ ущIэмыкIынкIэрэ ей солъэIур! Ар зи джэ макъымэ фIы игу имылъкIэрэ, сэ си тобэщ! – МафIэгъуэ дэпри фочым и пащIэкIэ уай къыщIетхъур. Гынжьейм и пхъашэри, шыгъу кIанэм хуэдэурэ, тырегъащхьэ. Жэхафэгум щехкIэрэ Нэгурэшу дахэр жи ай поувыр: - Сэ хьэтыр сиIэмэ, щхьэлъанщIэм папщIэкIэ уей къэгъанэ! Ар зи джэ макъымэ фIы игу имылъкIэрэ, сэ си тобэщ! - Ей, Нэгурэш, Нэгурэшу дахэ жи, ар сэ къызжумыIэ: Лъхукъуэщо къэджамэ жи, сыт напэр сиIэурэ уей сыIуплъэжыну? Бзэджэнаджэ къаджэмэ, нэджэIуджэ сищIынщ жысIэу, сышынэн, жи? Уэ уи кIэ къуащIэкIэ сыт хуэдиз махуэкIэ уей супIын, жи? Жыгей бжэIулъэри Iэгум и дакъэкIэ уей IуегъэпкIыр. Фоч гъэпкIар иIыгъыурэ Къущхьэ Жамботыри уей ныщIокIыр. ФIыцIагъищыр бзаджэурэ лъхукъуэщом и гуэщмэ уой щIопкIэжыр. ХьэщIэщыжь кIыфIри фоч фIыцIэ пащIэкIэ уей щIещыкIыр. Абы щимыгъуэтуэрэ Къущхьэ Жамботыри уей щIокIыжыр. Ахьмэтым и жьэгури фоч фIыцIэ пащIэкIэ уей щIыщыкIыр. Абы щимыгъуэтмэ Къущхьэ Жамботыри уей къокIуэжыр. Мы вэгъуэ удзри сыхьэт фIэкIыхукIэрэ уей къеубэ. А лъэхъэнэ дыдэмэ я хьэ гъуабжэжьри уей бгъэдохьэ. - Уей хьэ гъуабжэжьурэ хьэм яшхыжын жи, дэнэ ущыIат уэ? Мэзым дыкIуамэ жи, вы щIэттIыкIахэри уэ тхуэбгъэхъурт; Унэм дыкъэкIуэжмэ, бжьэ Iэщын матищэмэ уэ урахъумакIуэт. Ныжэбэризэмэ мыбы къэкIуа закъуэри уэ щхьэ умыщIарэ? Фочым и пащIэкIэ хьэ пэриижьмэ уей жьэхоуэ. Хьэ гъуабжэжьыфIмэ зишхыхьыжыххэурэ уай йожажьэ. Хьэ пэриижьри лъхукъуэщом я гуэщмэ уай ныщIохьэр. Шухьэ цей къуащIэри и жьэм жьэдэлъурэ уай къыщIехыр. Шухьэ цей къуащIэри Жамбот и гуфIакIэмэ уай деупщIэ. Къущхьэ Жамботыри лъхукъуэщом и гуэщмэ уай ныщIохьэ. ГупхъэтIэкIу пащIэмэ шэ упщIэтар иджы уей зэпхырегъэдзкъэ. Фочауищым бзаджэурэ къызэдагъэпсри уай къыздоуэр. Гъатхэ хьэпшыруэрэ Къущхьэ Жамботыри уай зопщыпщэ. Мы фоч макъымэ Нэгурэшу дахэр жи ей дохыщIэр. Унэ къыщIохьэжри, шыгъуэгу щхьэгъубжэмкIэ уой йожэкIыр. - Ей Екъуб, уи къуэшыжь закъуэри ей щыIэжкъым! - Уэ си нысэу псэ жи, сытуэрэ Iейуэрэ укъызэщыхьэкIуэт! ЩхьэпцIэрэ лъапцIэурэ, фоч пцIанэ иIыгъыурэ уей къыщIожыр. Къущхьэ Екъубри Дохъутэмыщхэ дежкIэрэ уей ножэкIыр. - Уей си къуэшыжь закъуэ, уай дуней, сытхэр къэхъуа, жи? - Абы къэхъуа лажьэмэ, уай маржэ, уэ ущIэмыупщIэ. Уэ уилъ пщIэжынумэ, хьэ банэ макъымэ уай ирижэ! Ар пхуэмыщIэнумэ, Дохъутэмыщхэ дежкIэрэ уай сехьэкI, жи: Сэ тхьэ сыгъаIуэ жи, я джэд нэхъ мыхъуми, сэ силъ сщIэжынкIэ! Жамбот къыщIенэри, Къущхьэ Екъуб жи Дохъутэмыщхэ ножэр. Я хьэщIэщыбжэри фочым и пащIэкIэ уай Iуеудыр. Я хьэщIэщыжьмэ джэгуакIуэ Исупри уай щыжейрт, жи. ЛIы пцIанэ хэлъымэ Екъуб и фочри тырегъапсэ. Исуп щолъэтри Къущхьэ Екъубмэ уей къолъэIур: - ХамэлъкIэ уилъ умыщIэжынумэ, маржэ, сэ сыхьэщIэщ. Дэхьа-дэкIакIэрэ ар ныщеупщIым жи, тхьэ къыхуеIуэ. Абы къыщIокIыжри Дохъутэмыщхэ унэмкIэ уей ножэкIыр. Я тэхъуанэбжэри2 фочым и пащIэкIэ уей Iуеудыр. Жэхэфэгум тетуэрэ псы лэгъупышхуэри уей къыщIекIэ: ПкIэм ныдолъейр иджы, хьэпшыпу телъыр зэбгредзыр. Зыкъыредзыхри, я лIыжь-фызыжьхэри уей къыщехур. - Ныжэбэ IуэхукIэрэ къыдэхьи-дэкIи дэ дымыщIэ. Уэ фи фIыр дифIкъэ, уи бийр ди бийщ! – жари тхьэ къыхуаIуэ. Екъуб къокIуэжри, и къуэшыр лIауэрэ уей IуощIэжыр. Жамбот и хьэдащхьэмэ Къущхьэ Екъубмэ псалъэ щетыр: - Къыплъыса лейри сымыгъэгъункIэрэ, сэ тхьэ соIуэ! Къуэшыр щIелъхьэжри, махуищ даущмэ3 ар къыхэткъэ. ЕплIанэ махуэмэ Екъуб щыдэкIмэ, и анэр кIэлъоджэ: - Лъы зэращIэжри мис мыбы хуэдэщи, уэ къедаIуэ: Уи адэм къыщIэнауэрэ гупэщIэлъ къамэри уэ зыдэщтэ. Зэуам фIэмыкIыурэ адэ фокIэщIри къыумыгъанэ. Уи фоч кIыхьитIмэ гынжьей Iэбжьыгури уэ икIутIэ. ФокIэщIыр гъуапэмэ уэ къигъэжи бийм теубыдэ. Абы къыфIэкIмэ, маисэ къамэри уей щIэщхъункъым. УкъыщIэпхъуэжрэ уэ укъакIуэжми, узибынкъым. Екъубу хахуэри Налшыч къалэжьмэ уей ныдохьэ. ТIэкIу едзэкъэнурэ зы шхапIэ гуэрмэ уей ныщIохьэ. ПщафIэм бгъэдохьэри: - ПсынщIэу сыгъашхэ, жи, - ныжыреIэ. – Ажафэ техынри къыспыщылъщи, сэ сопIащIэ! А шхапIэ дыдэмэ джэгуакIуэ Исупри уей щохьэщIэ. Зыкъыхуегъазэри Къущхьэ Екъубмэ къыжыреIэ: - Ей Екъуб, Екъуб цIыкIуу хахуэ жи, лIы фIыцIэ ябгэ! Уэ уи ажафэри, уэ зэгъащIэ, ар техыгъуейщи, жи. Уэрэд пхуаусынри, уэ улIыгъэншэмэ, ари тыншкъым. Сыноплъыжыпэри уи бзэгу нэхъ папцIэ жи уэ пкIэрылъкъым. Сытыгур уиIэурэ уэ убатэт, Екъуб лIы фIыцIэ? – Екъуб шхэхункIэрэ хэку тетым бзэгухэри уей хуагъэсыр. Шхэн имыухыурэ тетым и лIыкIуэхэр уей къегъэсыр: - НакIуэт, нэтэджыт, ажафэ техри, уэ нэхъейт, жи! Тетыр къыпхуейщи, и губжьу бзаджэмэ дэ дыщIехуэ. – Екъубу хахуэмэ тетым и лIыкIуэхэм яжыреIэ: - Шхэн сыухакъыми, си Iуэху зэфIэкIмэ, сынэкIуэнщ, жи. – Хэкум и тетмэ ар хуагъэсыжри уей мэхъущIэ. Ар мэгубжьыпэри и дамэщIэтхэри уей къыщIехур: - Хьэм къилъхуа цIапIэри зэкIуэцIыпхауэрэ уей къысхуэфхь, жи! ЕтIуанэ гуэрмэ тетым и лIыкIуэхэр пщIэншэу мэкIуэжыр. - Iэщэр къытефх! – жери абдежым щытхэмэ ящIокIие. Къущхьэ Екъубмэ: - Фэ фи мыхьэдэр фымыгъей! – жи. Тетыр къокIуатэри ауэ щыт гупмэ яжьэхолъэ: - Уэ фIыцIэ цIыкIуурэ Дохъутэмыщ майормэ и псэ лъыхъур! – И щопщ тIууащIэмкIэ Екъуб еуэну уей зешэщIыр. Екъуб фокIэщIри къырегъэцIэфтри уей хуеший, жи. Тетыжьыр мащтэри, шхапIэм щIэт стIолмэ уей тощахэ. Къэдабэ шэнтмэ и лъакъуэ шахэри уей щIегъащIэ, ПкIэлъейм йохуэхри, дзапэфIанищри уей Iуегъащхьэ. КъыщIокI Екъубри, уэрам зэв гуэрымкIэ уей ныдохьэ. Уэрамыр ятIэми, лъэс лъагъуэ закъуэр уей ныпхокI, жи. ПщIэгъуалэ къуапцIэмэ майорыр тесурэ уей къыпхокIыр. Екъубу щауэмэ, шур къамыс щIыкIэрэ, ныжыреIэ: - Уэ шы утескъэ, сэ сылъэсщи, уэ дэгъэх, жи! – Шыр димыгъэхыурэ Дохъутэмыщ майорри Екъуб бгъэдохьэ. - ИлъэсыщIэу къихьэмэ унэзмыгъэсурэ уэ услIынщ, жи! Екъуб лIы пхъашэти, и фокIэщIыжьри уей къырехыр. Пщы майор бзаджэмэ иреубыдылIэри уей жьэхоуэ. Шэ мыубзэщхъужти, Дохъутэмыщ майорри шым йохуэхыр. Къамэр къырехри и гу бзаджэри уей кърехыр. Бжэгъу щхьэкIэ гуэрмэ гур ныфIеупцIэри уей ножьэжыр. Пхъэр зэрогъэхъури, Къущхьэ Екъубмэ иужь йоувэ. Къайуэ зэпытурэ, Екъуб чэщанэмэ уей яфIохьэ. Бгъэдэхьэфынурэ зылI къахэмыкIыурэ къызэтреукIэ. Ар щымыхъужмэ, къалэм топыжьри уей къырашыр. Ягъэшынэнурэ, гын фIэкI имылъуэ, уей зэ мауэ. Щахуэмышынэмэ, топым и шэрхъыр уей щIым хатIэ. Яузэдыжри, щIыгур дэпсалъэуэ уей ягъауэ. Чэщанэ быдэри топышэ гуащIэмэ уей долъалъэ. Къелъэлъэхахэми Екъубу хахуэри уей дощахэ. Екъуб и укIыкIэри и анэжь тхьэмыщкIэмэ уей зэхехыр. - Ей Нэгурэш, уи пшынэр къащтэ жи, сыкъэгъафэт! – Нэгурэшу дахэмэ и пшынэр къещтэри къафэ йоуэ. ЛIыгъэу Екъубмэ ищIам хуэгуфIэуэ и анэр щэ къофэ. ЛIыгъэу Екъубмэ ищIам хуэгуфIэуэ и анэр щэ къофэ. Адыгэ уэрэдыжьхэр. Зэхуэзыхьэсыжар КъэрдэнгъущI Зырамыкущ. Налшыч, 1979, н. 192-194 (№31) Къущхьэ Жамбот и уэрэд Дэ дыкъущхьэт, дыкъущхьэ жьанэти, Къущхьэм дыщалъху, маржэ! Дэ дыкъэзылъхугъэри ДыщэкI унагъуэти, ахэр мэунэ. "Дыунэнщ", жыдоIэри Тэхъутэмыщхэ дежкIэрэ дынокIуэкI, маржэ! Дэ дыздекIуэкIыгъэмэ, Тэхъутэмыщ и къуитIри жагъуэгъум и бзаджэт. Ар, жэщыбгхэр мэхъури, "Жамбот!" жеIэри, мыхэм зы къоджэ, Уей, а къэджа закъуэмэ, хьэ гъуабжэжьитIри, уей, зэдолъ, маржэ! Абы я илъ макъмэ гъунэгъу фызыжьхэри, уей, догыз, маржэ, Абы я гыз макъымэ Нэгурэшу дахэри, уей, доушыр. "Къэушынущ" жеIэри тепIэным и кIапэр хущIеупщIэ, ЕтIуанэу щыджэмэ, Жамботу лIыхъури, уей, доуш, маржэ! - Нэгурэшу дахэ, а къаджэр хэт, атIэ, а къаджэр сыт, атIэ? - Уэ а къаджэ закъуэмэ, уэ Iуэху хуимыIэ укъэмытэдж, маржэ! - Нэгурэшу дахэ! - жи, - сымытэджыурэ, уей, мыхъуну, - жи. Пщэдей уэркъ напэр сиIэу дауэ уэрамымэ сыныдыхьэну сэ. Ныжэбэ дыджати Жамботу щауэр къытхущIэкIакъым, - жаIэу, Уей, Жамботыр лIыхъут, маржэ, псынщIэу къотэджри псынщIэу зехуапэ. Уей, джаур IэщIагъэурэ уэздыгъэжь цIыкIури зэщIегъанэмэ, Ар плIанэпэм дохьэри ямылей фочыжьри къыкъуегъэж, маржэ! Ар жьэгум дохьэри гынжьейм и пхъашэри нытрегъащхьэ, Жыхафэгум нокIуэри дыщэ сэмпIалри хуегъэдалъэ. Уей, ари щIэкIынурэ бжэми щекIуалIэмэ ныпоув, маржэ, - Уей, ныжэбэризэмэ сэ си хьэтыркIэ ущIэмыкI, маржэ! - Ар жэщ дапщэ, жыпIэркъэ, уэ уи хьэтыркIэ къыпхуэзгъэнэн, маржэ, Ауэ ныжэбэ сыщIэмыкIыуэ, уей, мыхъуну, жи. Нэгурэшу дахэри Iэдакъэ ижькIэрэ къыIуегъэж, маржэ. Уей, жыгей бжэIулъэри IэпхъуамбэжьакIэкIэ ныIуегъэпкI, маржэ! Ар, жыгей бжэжьитIри мэлыгъуэжь макът, иджы, зэIуегъэж, атIэ, Лъхукъуэщо и пщIантIэурэ пщIантIэ кIыфIыжьым Жамбот ныдохьэ. "Лӏы къилъхуа къэкIуауэ щытмэ зимыбзыщIыжурэ къыкъурекI, маржэ!" Лъхукъуэщо и пщIантIэурэ пщIантIэ кIыфIыжьри щIепщытыкI, маржэ. Лъхукъуэщо и бэкхъыурэ мы бэкхъ кIыфIыжьри щIепщытыкI, маржэ, Уей, Жамботыр маджэри къэджар имыгъуэтурэ къегъэзэж, атIэ. "Уей, хьэ гъуабжэжьитIыурэ хьэм яшхыжын, атIэ, пцIыкIэ фопхъэр, маржэ!" Уей, хьэ гъуабжэжьитIри нызэрохьэжьэри кIыфIым холъадэ. Ар, шухьэрцей къуащIэри дзапэм жьэдэлъурэ, уей, къыхуахь, маржэ, "Афияным и хэлъхьэти сэ схуэмыгъуэтурэ, къысхуэвгъуэтат, маржэ!" Уей, Жамботыр маплъэри фIыцIагъэжь закъуэм и нэр топлъызэ, Ар щIакIуэ зэфIэдзэти лIынэпцI и хабзэурэ къызэфIадзат, маржэ. Уей, фIыцIагъэжь закъуэми Жамботу лIыхъум треунащIэ, Тэхъутэмыщ и къуитIри кIыфIым къыхэтти, уей, къызэдоуэмэ. Жамботым и джабэри кхъузанэщIэм хуэдэурэ кIуэцIрагъэх, маржэ, Ар, хьэвшырым и хабзэти, Жамботу лIыхъури нызопщыпщэ, жи. Нэгурэшу дахэри псынщIэу къыщIожри ныщхьэщолъадэ: - Уей, си щхьэгъусэфIурэ, Жамботу лIыхъу, маржэ, сытхэр къыпщыщI, атIэ? - Нэгурэшу дахэ, къысщыщIа псоми ущIэмыупщIэ! - жи, Си анэ къилъхуа закъуэурэ Екъубуэ лIыхъумэ хъыбар схуегъащIэ. - Уей, Екъубуэ лIыхъу, атIэ, къэхъуахэр пщIэркъэ, псынщIэу къэтэдж, маржэ! Ар Екъубуэ лIыхъумэ псынщIэу зехуапэри ныщхьэщолъадэ. - Си анэ къилъхуа закъуэурэ Жамботу лIыхъу, атIэ, сытхэр къэухъу, маржэ? - Уей, Екъубу лIыхъу, маржэ, къэхъуакъэщIа псоми, рэтIэ, ущIэмыупщIэ! Уей, сэ силъ пщIэжынумэ, Тохъутэмыщхэ дежкIэ, уей, екIуэкI, маржэ, Силъ пхуэмыщIэжынумэ, си хьэдэ тIэкIури нехьэкIыж, маржэ. - Уилъ сымыщIэжынурэ сытхэр си Iэмал, атIэ, сытхэр си Iэмал, маржэ, Сэ щIы сызытетри кърамыхауэрэ сыкъамыщтэн, соIуэ! - Абы къэхъуа лажьэмэ, уей, маржэ, уэ ущIэмыупщIэ, Уэ силъ пщIэжынумэ, хьэ банэ макъымэ, уей, ирижэ. Ар пхуэмыщIэнумэ, Тэхъутэмыщхэ дежкIэрэ, уей, сехьэкI, жи, Сэ тхьэ сыгъаIуэ, жи, я джэд нэхъ мыхъуми сэ фIэзгъэжынкIэ. Жамбот къыщенэри Къущхьэ Екъубыр, жи, Тэхъутэмыщхэ ножэ, Я хьэщIэщыбжэр фочым и пащIэкIэ, уей, Iуеудыр. Я хьэщIэщыжьмэ джэгуакIуэ Исупри, уей, щыжейрт, жи, Лӏы пцIанэ хэлъмэ Екъуб и фочри трегъапсэ. Исуп щолъэтри Къущхьэ Екъубымэ, уей, къолъэIур: "ХамэлъкIэ уилъ умыщIэжынумэ, маржэ, сэ сыхьэщIэщ". Дыхьа-дэкIакIэрэ ныщеупщIым, тхьэ къыхуеIуэ, Абы къыщIокIыжри Тэхъутэмыщхэ унэмкIэ, уей, ножэкIыр. Я тэхъуанэбжэри фочым и пащIэкIэ, уей, Iуеудыр, Жыхафэгум тетурэ псы лэгъупышхуэри, уей, къыщIекIэ. ПкIэм ныдолъейр, иджы, хьэпшыпу телъыр зэбгыредзыр, Зыкъыредзыхри я лIыжь-фызыжьхэри, уей, къыщехур. "Ныжэбэ IуэхукIэ къыдыхьи-дэкIи дэ дымыщIэ, Уэ уифIыр дифIкъэ, уи бийр ди бийщ!" - жари тхьэ къыхуаIуэ. Екъуб къокIуэжри и къуэшыр лIауэрэ, уей, IуощIэжыр. Жамбот и хьэдащхьэмэ Къущхьэ Екъубмэ псалъэ щетыр: "Къыплъыса лейри сымыгъэгъункIэрэ, сэ тхьэ соIуэ!" Къуэшыр щIелъхьэжри мэхуищ даущмэ ар къыхэткъэ. ЕплIанэ махуэмэ Екъуб щыдэкIымэ и анэр кIэлъоджэ, "Лъы зэращIэжри мис мыбы хуэдэщи зэ къэдаIуэ: Уи адэм къыщIэнауэрэ гупэ щIэлъ къамэри уэ зыдэщтэ, Зауэм фIэмыкIыурэ адэ фоч кIэщIри къомыгъанэ. Уи фоч кIыхьыжьмэ гынжьей Iэбжьыгури уэ икIутэ, Фоч кIэщIыр гъуапэмэ уэ къигъэжи бийм теубыдэ. Абы къыфIэкIмэ, маисэ къамэри, уей, щIэщхъункъым, УкъыщIэпхъуэжмэ, уэ укъэкIуэжми - узибынкъым!" Екъубуэ хахуэри Налшык къалэжьмэ, уей, ныдохьэ, ТIэкIу едзэкъэнурэ зы шхапIэ гуэрымэ, уей, ныщIохьэ. ПщафIэм бгъэдохьэри: «ПсынщIэу сыгъашхэ!» - ныжыреIэ, - Ажафэ техынри къыспэщылъщи, сэ сопIащIэ". А шхапIэ дыдэми джэгуакIуэ Исупри, уей, щохьэщIэ. Зыкъыхуегъазэри Къущхьэ Екъубмэ къыжыреIэ: «Ей, Екъуб, Екъуб цIыкIуу хахуэ, жи, лIы фIыцIэ ябгэ, А уи ажафэри, уэ зэгъащIэ, техыгъуейщ, жи. Уэрэд пхуаусынри уэ улIыгъэншэм ари тыншкъым, Сыноплъыжыпэри уи бзэгу нэхъ папцIэ, жи, уэ пкIэрылъкъым. Сытыгур уиIэурэ уэ убатэт, Екъуб лIы фIыцIэ?" Екъуб шхэхункIэрэ хэку тетым бзэгухэри, уей, хуагъэсыр. Шхэн имыухыурэ тетым и лIыкIуэхэр, уей, къегъэсыр: "НакIуэт, нэтэджыт, ажафэтехри, уэ нэхъейт! - жи. Тетыр къыпхуейщи, и губжьу бзаджэмэ дэ дыщIехуэ." Екъубу хахуэмэ тетым и лIыкIуэхэм яжреIэ: "Шхэн сухакъыми, си Iуэху зэфIэкIмэ, сынэкIуэнщ", - жи. Хэкум и тетымэ ар хуагъэсыжри, уей, мэхъущIэ... Ар мэгубжьыпэри и дамэщIэтхэри, уей, къыщIехур: "Хьэм къилъхуа цIапIэри зэкIуэцIыпхауэрэ, уей, къысхуэфхь!" - жи. ЕтIуанэ гуэрымэ тетым и лIыкIуэхэр пщIэншэу мэкIуэжыр. "Iэщэр къытефх!" жери абдежым щытхэмэ ящIокIиер. Къущхьэ Екъубымэ "Фэ фимыхьэдэр фымыгъей" жи. Тетыр къокIуатэри ауэ щыт гупымэ яжьэхолъэ. "Уэ фIыцIэ цIыкIуурэ, Тэхъутэмыщ майорым и псэлъыхъур!" И щIопщ тIуащIэмкIэ Екъуб еуэнуэ, уей, зешэщIыр. Екъуб фоч кIэщIри кърегъэцIэфтри, уей, хуеший, жи, Тетыжьыр мащтэри шхапIэм щIэт стIолымэ, уей, тощахэ. Къэдабэ шэнтмэ и лъакъуэ шахэри, уей, щIегъащIэ, ПкIэлъейм йохуэхри дзэпэфIанищри, уей, Iуегъащхьэ. КъыщIокI Екъубри уэрам зэв гуэрымкIэ, уей, ныдохьэ. Уэрамыр ятIэми лъэс лъагъуэ закъуэр, уей, ныпхокI, жи. ПщIэгъуалэ куапцIэмэ майорыр тесурэ, уей, къыпхокIыр, Екъубуэ щауэмэ шур къэмыс щIыкIэ ныжреIэ: "Уэ шы утескъэ, сэ сылъэсщи, уэ дэдзых!" жи. Шыр димыгъэхыурэ, Тэхъутэмыщ майорыри Екъуб бгъэдохьэ. "ИлъэсыщIэу къихьэмэ унэзмыгъэсурэ, уэ услIынщ!" жи. Екъуб лIы пхъашэти и фоч кIэщIыжьыр, уей, кърехыр. Пщы майор бзаджэмэ иреубыдылIэри, уей, жьэхоуэ. Шэ мыубзэщхъужти, Тэхъутэмыщ майорыр шым йохуэхыр. Къамэр кърехри пщым и гу бзаджэр, уей, кърехыр, Бжэгъу щхьэкIэ гуэрмэ гур ныфIеупцIэри, уей, ножьэжыр. Пхъэр зэрогъэхъури Къущхьэ Екъубымэ и ужь йоувэ, Къауэ зэпытурэ Екъуб чэщанэмэ, уей, яфIщIохьэ. Бгъэдыхьэфынурэ зылI къахэмыкIыурэ къызэтреукIэ, Ар щымыхъужымэ къалэм топыжьри, уей, къырашыр. Ягъэшынэнурэ гын фIэкI имылъуэ, уей, зэ мауэ, Щахуэмышынэмэ топым и шэрхъри, уей, щIым хатIэ. Яузэдыжри щIыгур дэпсалъэурэ, уей, ягъауэ, Чэщанэ быдэри топышэ гуащIэмэ, уей, долъалъэ. Къелъэлъэхахэми Екъубуэ хахуэри, уей, дощахэ, Екъуб и укIыкIэри и анэжь тхьэмыщкIэми, уей, зэхехыр. "Ей, Нэгурэш, уи пшынэр къащтэ, жи, дыкъэгъафэ!" Нэгурэшу дахэмэ и пшынэр къещтэри къафэ йоуэ. Лӏыгъэу Екъубмэ ищIам хуэгуфIэуэ и анэр щэ къофэ. Лӏыгъэу Екъубмэ ищIам хуэгуфIэуэ и анэр щэ къофэ.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "qushha.txt" }
Зиусхьэнымрэ сэрэ зауи бани хэмыту дызэгурыIуэт. Ауэ унэIуту сыувын и пэкIэ сызыщымэхъэша емыкIумрэ пудыныгъэмрэ Iуэхум зэрыхэтыр нэрылъагъут, махуэ къэси зыкъызигъащIэт. Полэ сезэгътэкъым. ФIыуэ ягъэшха псэущхьэ удэфат ар, Орловым зэрызиусхьэным щхьэкIэ хьэщыкъ хуэхъуарэ сэ сызэрыунэIутым щхьэкIэ сызримыпэсу. ПщIэну щыткъым, унэIут дыдэм е пщафIэм ар тхьэIухуду къыщыхъункIи хъунт: нэкIущхьэ тхъуэплъ, пэтIей, нэ зэхуэшарэ тэджыным нэса Iэпкълъэпкъ пшэррэ. Сэхусэплъ зыхилъхьэт, и набдзэхэмрэ и Iупэхэмрэ илэт, куэншыбэрэ кIэр зыгъэбырыб щIагъщIэлърэ щитIагъэт, ахъшэ жьгъейхэм къыхэщIыкIа Iэпщэхъуи илът. Лъэбакъуэ цIыкIукIэ зекIуэт, дэлъейуэрэ. КъыщикIухькIэ и плIэхэри и шхужьри игъэкIэрахъуэт, е, зэрыжаIэу, иудэт. ПщэдджыжькIэ абы и гъусэу пэшхэр щызэлъыIусхкIэ, и кIэхэм я щхъыщхъ макъми, и щIагъщIэлъ зэщIэскъыскъэми, и Iэпщэхъу зуми, Iупэлэмрэ зиусхьэным къыфIидыгъуа дыхумрэ къакIэрих къэхьпэмэми абы и гъусэу зы хьэдэгъуэдахэ гуэр сщIэуэ фэ зырызагъэплъыжт. И гъусэу сызэрымыдыгъуэра, хьэмэ щIасэлI сыхуэхъуну сызэрыхэмытым игу зригъэбгъэжрэт, сытми, хамэу сыкъилъытауэ, япэ махуэм щегъэжьауэ сыкъилъагъу хъутэкъым абы. IэбэкIэ зэрызмыщIэри, унэIутыфэ зэрыстемытри, сызэрысымаджэри абы дежкIэ икIагъэ дыдэт, къысщигъэмэхъашэу. Абы щыгъуэ сэ Iейуэ сыпсчэт, жэщкIэ щызмыгъэжей къыхуихуэу, сыту жыпIэмэ, Полэ и пэшымрэ сысеймрэ я зэхуакум пхъэ блын фIэкIа дэттэкъым. Арати, пщэдджыжь къэс къызжиIэт: - Аргуэру сыбгъэжеякъым. Сымаджэщращ уэ уздыщIэлъын хуейр, зиусхьэнхэм я дежкъым. Сэ цIыху сызэрымыхъунуми, пхужымыIэн хуэдизкIэ езым нэхърэ нэхъ лъахъшэ гуэру сызэрыщытми апхуэдизкIэ шэч къытрихьэтэкъым Поли, я пщылIхэр щыту зызыгъэпскIын мыукIытэ урым гуащэхэм ещхьу, жэщджанэ фIэкIа щымыгъыу си пащхьэ итыныр зыуи къыщыхъутэкъым. Зэгуэр шэджагъуашхэ тщIыуэ (махуэ къэс шхапIэм хьэнтхъупсрэ лы гъэжьарэ къытхурахт), гукъыдэж хъарзынэ иIэу зрезгъэхьэлIэри, сеупщIащ: - Полэ, Тхьэр уи фIэщ хъурэ уэ? - Мэхъу-тIэ! - НтIэ, уи фIэщ хъу къыщIэкIынщ судышхуэ къыттращIыхьу Iейуэ тщIа псом щхьэкIи Тхьэм и пащхьэ жэуап зэрыщытхьыжынур? Зыри жиIакъым, и IупщIакIэхэр хиша фIэкIа. ИтIанэ зи ныбэ из и нэ щIыIэхэм сыщIэплъэри къызгурыIуащ мы зэрыхъун хъуа псэущхьэм тхьэи, напи, хабзи зэримыIэр. Зыгуэрым и псэ хэсхын, схъунщIэн, е мафIэ щIэздзэн хуей хъуамэ, ахъшэкIэ абы нэхърэ нэхъ дэIэпыкъуэгъуфI згъуэтыну къыщIэкIынтэкъым. Зыми сызэремысам, «уэ» жысIэн хьэл зэрызимыIэм, сытым дежи пцIы упсын (зиусхьэныр щIэсу «зиусхьэныр щIэскъым» жыпIэныр) зэрыхуейм Орловым деж сыщыщыIа япэ тхьэмахуэр къыстригъэхьэлъащ. УнэIут фащэр афэджанэу къысщыхъут. Ауэ итIанэ сесащ. УнэIут дыдэм хуэдэу жаIэр сщIэт, пэшхэр зэлъыIусхт, жыIэщIэу сызэхэзежэт.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "rasskaz.txt" }
Апхуэдэ лъэпкъыу Тхьэм дыкъыщIигъэкI Дунейпсо Адыгэ академия, Дунейпсо Адыгэ фонд диIэну сохъуапсэ, сыщогугъ. ЦIыхубз гуп мэуэршэрри щысщи, зым жеIэ: - СылIэным хуэдэу сохъуапсэ зи бын адыгэбзэкIэ псалъэм! - НытIэ ууейм щхьэ йомыгъащIэрэ? - ТхузэригъащIэкъым! СщIэркъым апхуэдэу щIэхъуар, урысыбзэкIэ фIэкIа пхуэпсэлъэнукъым. ИлъэсипщI ныбжьым ит е нэхъ цIыкIуж сабийхэм куэд яхэтщ адыгэбзэ зымыщIэ, ирипсэлъэну хуэмей. Адыгэ къуажэхэм. - Урысыбзэр къыздрихри тщIэркъым, улIамэ, адыгэбзэкIэ пхуэпсэлъэнукъым,- жаIэ я анэхэм. - Сытыбзэ фызэрепсалъэр? - Адыгэбзэщ, ауэ езым урысыбзэкIэ жэуап къыдет. Уи бзэр умыщIэжыныр емыкIущ, жиIэу егъэджакIуэм хигъэзыхьа щIалэ цIыкIур къэгубжьащ: - Слъагъу хъуркъым сэ мы фи адыгэбзэжьыр! ЗэзгъэщIэнукъым! («Ненавижу я этот ваш кабардинский! Не буду учить!») Апхуэдэ щапхъэ куэд къыщытхуэхьын щыIэкIэм дынэсащ. ПцIыри фэрыщIагъри щызэхэухуэнащ мы псалъэмакъым. Анэхэм я гуапэщ я сабийр урысыбзэкIэ зэрыпсалъэр. Щхьэтечауэ жамыIэ щхьэкIэ, абыкIэ адрей цIыкIухэм къахэщу, ефIэкIыу, зы бэлыхь къазэрыхэкIынум ар и нэщэнэу къащохъу. ЗэкIэ зэрагъэзахуэркъым зы илъэс бжыгъэ гуэр дэкIыу адыгэм сытым щыгъуи къилъыта, езыхэри зыхуэныкъуэжыну нэхъыжь-нэхъыщIэр, адэ-анэ нэмысыр, лъэпкъ-къупщхьэ жыхуэтIэхэр а сабийм и хамэу къызэрыщIэщынур, езыхэр жьыщхьэмахуэ зымыщIыну гуныкъуэгъуэм и лъабжьэр зэрагъэтIылъыр. Абы нэсым зыри пхузэгъэпэщыжынукъым, ауэ зэкIэ иджыри Iэмал щыIэщ. Сыт анэр хамэбзэ хъуа сабийм щIимыгъэгузавэр? Езыри урысыбзэр пажэным щIапIыкIащи. Дуней хуитым утезышэу, лэжьыгъэм ехъулIэныгъэ къызэрыщыпхьыну щыIэр а зы бзэрауэ куэд лъандэрэ къытхапщэри, икIи къытпкърызэгъащ. А адыгэбзэкIэ яхуэмыпсалъэ цIыкIухэм, анэхэм зэрыжаIэм хуэдэу, Тхьэшхуэм и IэмыркIэ урысыбзэр къажьэдыхьауэ ара? Я анэдэлъхубзэр дэнэ кIуа? ИрамыгъащIэу езыр-езыру къищIа бзэр урысыбзэу щхьэ къыщIэкIа, мыинджылызыбзэу (мыри къыхохьэ хуэмурэ), мыфранджу, мыкитаибзэу? Дауи, ирагъэщIащ. Епсалъэурэ, дэлажьэурэкъым. Емыпсалъэурэ, дэмылажьэурэщ. Зэ сытепсэлъыхьащ, иджыри къытызогъазэ. Нэху щыщам урыс таурыхъыр хузэтраублэрэ телевизорым ирагъэтIысылIэм, махуэ псом бгъэдагъэсурэ. Сабийм уэршэрэгъу хуэмыхъуурэ. Ещхьыркъэпсу сыт хуэдэ нэгъуэщIыбзэри ящIэнут, махуэр зи кIыхьагъым а бзэмкIэ ягъэува таурыхъхэм ирагъэплъамэ. Анэдэлъхубзэм и закъуэкъым апхуэдэ цIыкIухэм яфIэкIуэдыр. Пэжыжьэ мэхъу адыгэ гупсысэкIэм, цIыху зэхущытыкIэм. Зыщыгъуазэр, пэжу къилъытэр и таурыхъхэм щилъэгъуаращи, цIыхум зэрыхэзэгъэну, ныбжьэгъу зэриIыгъыну, гущIэгъу, гулъытэхэм хуэгъэзауэ абы къыхихыр мащIэ дыдэщ. «Адэ-анэ», «анэкъилъху», «хэку, щалъхуа щIыналъэ» жыхуэтIэ гурыIуэныгъэхэращ щыземыкIуэххэр. Ди сабийхэр зэщымыщхъу зыщI хамэ къэрал таурыхъхэм мынэхъыкIэу траха адыгэ таурыхъ пэмыувмэ, «евмыгъэплъ» жыпIэкIэ, зыри къэувыIэнукъым. Зэпыч имыIэу ахэр зыбгъэдэс таурыхъхэм нэхъыбэр зыщIа къэралым щагъэлъэгъуэжыркъым еплъ цIыкIухэм къыхах гъэсэныгъэр къэралыр зыхуейм зэрытемыхуэр къагурыIуэжащи. ДэркIэ фIы гуэру къыщIэкIащи, унагъуэ къэс къибгъуэтэнущ ахэр зытет дискхэр. Дгъэнэхъыщхьэращи, цIыкIур тоу, иныр щхьэхуит мэхъу. Хамэ таурыхъ зэдзэкIынри ткIийуэ зыбгъэдыхьэн хуей Iуэхугъуэщ. АдыгэбзэкIэ зэрадзэкI таурыхъым хэт лIыхъужьхэри къыщыхъухэри адыгэ гупсысэкIэм пэгъунэгъуу щымытмэ, сытым щхьа мылъку тебгъэкIуадэу зэраныгъэ зыпылъ лъэпкъым къыхэпхьэн хуей? Адыгэ таурыхъхэм тезыхыфын диIэ хъунт, димыIэр мылъкущ. Аргуэрыжьщи. Къэщэху-щэжыр тепщэ щыхъуа гъащIэм бзэри а щытыкIэм и IуэхутхьэбзащIэ ещI - къулыкъу, мылъку къезыгъэлэжьыну бзэр зрагъэщIэнущ, анэдэлъхубзэм зэи зыкIи хуэмыныкъуэну ягъэув. Дауэ мыбдеж IутIыж Борис уигу къызэрымыкIыжынур: «Сыту адыгэ куэд къытлъыкъуэкIынут, уадыгэным ахъшэ къыпэкIуэу щытамэ!» Пхуэгъэкъуэншэну къытщIэхъуэ щIэблэр? Къуаншэр ахэр апхуэдэ Iуэху еплъыкIэм щIэзыпIыкIа нэхъыжьхэращ. ГъащIэ гъуэгу къэзыкIуа, дунеишхуэм къыщыхъу-къыщыщIэхэр зи нэгу щIэкIа нэхъыжьым къыгурыIуэн хуейкъэ зи анэдэлъхубзэр зымыщIэ бын къытщIэхъуэурэ лъэпкъыр зэрехуэхыр, зэрекIакIуэр… Ди лъэпкъым зэрыжиIащи, нэхъыщIэфI димыIэмэ, нэхъыжьыфI яIакъыми аращ. Адыгэ цIыхум дежкIэ» екIу», «емыкIу» жыхуиIэ псалъэхэм иджыри мыхьэнэшхуэ яIэщ. «Ар емыкIущ, апхуэдэ умыщIэ» зыжепIар Iэмал имыIэу гуитI-щхьитI мэхъу, гузавэ къыпкърохьэ, емыкIу ищIауэ хэIуэным щошынэ. ЕмыкIуу щыIэм я емыкIужщ уи анэм и бзэр умыщIэну. А емыкIужым и щхьэжкIэ макIуэ езы анэм и быныр хамэбзэм щыщIипIыкIыр. Ауэ бзэ Iуэхум ехьэлIа емыкIур екIу ящыхъужащ куэдым. Сыт и щхьэусыгъуэр? «Сэ абы адыгэбзэ езгъэщIэну Iэмал сиIэкъым. Садикым урысыбзэкIэ къыщопсалъэ, сэ унэм зэрыслъагъу тIэкIумкIэ абы бзэр ищIэнукъым». «Адрей урокхэр ерагъыу изогъэщIыж. Адыгэбзэм хурикъун нерв сиIэкъым». «Сыт адыгэбзэр зэрищIынур? Абы щхьэкIэ зэман игъэкIуэду езгъэджэнукъым, ЕГЭ зэритынухэм иреджэ». Апхуэдэу лъэпкъым хуэгущIыIэ анэхэри щхьэусыгъуэ гуэрхэр иIэурэ езы лъэпкъым IэщIэщIэжащ, къэралым щызекIуэ бзэ политикэм зыдигъэш зэпытурэ. Мыбдежым щапхъэу къэсхьыну сыхуейщ Косовэ къикIыжу Адыгейм къэкIуэжауэ щыта адыгэхэр. Я бзэр ящIэжт, яхъумэжыфат, зи фIыщIэри анэхэрат. Бзэхэм яIэ щытыкIэр зэхагъэкI я къэгъэсэбыпыкIэр здынэсам елъытауэ: шынагъуэ зылъэмыIэса - жьыри щIэри иропсалъэ, къащIэхъуэ сабийм зэпыч имыIэу Iуралъхьэ; тIасхъапIэ зиIэ - къащIэхъуэ щIэблэм щыщу нэхъыбэм яIурылъщ, ауэ къыщагъэсэбэпыр унагъуэхэращ; кIуэдыжынкIэ шынагъуэ зылъэIэса - къащIэхъуэ щIэблэм анэдэлъхубзэу яджыркъым; щытыкIэ шынагъуэм ит - нэхъыжьхэм яIурылъщ, адэ-анэм ящIэ, ауэ быным ирепсалъэкъым; кIуэдыж бзэ - зыIурылъхэм я ныбжьыр хэкIуэтащ, ахэри щрипсалъэр зэзэмызэщ. ЮНЕСКОм и къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, адыгэбзэр тIасхъапIэ зиIэхэм хэтщ. ГъащIэм къызэригъэлъагъуэмкIэ, еджапIэхэм предмету зэрыщаджри пэмылъэщу, шынагъуэ зылъэIэсахэм хохьэри гъуэгу тетщ. Сыт апхуэдэу къысщызыгъэхъур? Къуажэ маршруткэм сисщи, зы анэшхуэ и пхъурылъху цIыкIу и гъусэу къызбгъурысщ, зы анэ щIалэ и сабий псэлъагъащIэр иIыгъыу къыспэщысщ. ТIури сабий яIыгъым зэрепсалъэр урысыбзэщ, къызэрепсэлъэжри аращ. Анэшхуэм адыгэбзэ къыфIыхохуэ - урысыбзэр щыхуримыкъу къохъу. ЩIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, бзэм и гъащIэр кIыхьынуми, кIэщIынуми зэлъытар ирипсалъэ цIыхум я бжыгъэракъым, атIэ къащIэхъуэ щIэблэм Iуралъхьэ-Iурамылъхьэращ. ЮНЕСКО къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, цIыху тIощIрэ бгъурэ фIэкIа зэрымыпсалъэ тлапанекыбзэр тIасхъапIэ зиIэм хэхуэри, цIыху 51 216-рэ зэрыпсалъэ дурува бзэр кIуэдыжхэм хиубыдащ. ЗыIурылъхэм я ныбжьыр хэкIуэтащ, сабийхэм, щIалэгъуалэм ящIэркъыми. Дунейпсом бзэуэ тетым щыщу (къазэрыхуэбжамкIэ) 2 500-р мэкIуэдыжри гъуэгу тетщ. Урысейм зэрыщыпсалъэ бзэхэм щыщу абы хеубыдэ 116-рэ. Сыт хуэдэ бзэри псэунрэ мыпсэунрэ куэду елъытащ ар зыIурылъхэм я гупсысэм и лъагагъым, гъащIэм лъапIэныгъэу къыщалъытэм, я лъэпкъ гупсысэкIэм зэрызиужьар зыхуэдизым, лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ хабзэхэм и цIыхур зэрыхуэпэжым. А псор зэпэщмэ, и дэтхэнэ цIыхуми хьэкъыу пхыкIауэ щытынущ анэдэлъхубзэр зэрылъапIэр, ар пIурылъыныр цIыхугъэм и лъагапIэу зэрыщытыр. Пэжщ, бзэм и щыIэныгъэр, зей лъэпкъым ар Iурылъын-Iурымылъыныр зэлъыта щхьэусыгъуэ хэхахэр щыIэщ. Псом япэу бзэхэм теухуа политикэу къэралым щекIуэкIыр. Зэ еплъыгъуэкIэ дыщIэгужьеин щымыIэу къыпщохъу. Адыгэбзэр хъумэным, зегъэужьыным, адыгэ хабзэр къызэтенэным телажьэ цIыхубэ зэгухьэныгъэхэр къыщыунэхукIэ, адыгэ фащэм, адыгэ ныпым тращIыхь дауэдапщэхэр щекIуэкIкIэ, лъэпкъыр щыгъуэ махуэм щызэкъуэувэкIэ, адыгэбзэр къэралыбзэу къалъытэным гуащIэ щрахьэлIакIэ (фэрыщIагъыр нэхъыбэу къыщIидзыжами), адыгэ театр, газет, журнал щыдиIэкIэ, курыт еджапIэхэм анэдэлъхубзэр предмету щаджкIэ, университетым адыгэбзэр щадж къудамэ щиIэкIэ - а псор щыхьэт зытехъуэр адыгэм адрей зызыужьа лъэпкъ псоми я зэхуакум езым и увыпIэ къызэрыщилъыхъуэжырщ, республикэм бзэм теухуа политикэ зэрыщызекIуэрщ. Зэ еплъыгъуэкIэ. УкIэлъыплъыпэмэ, а политикэм дриIуэнтIэкIауэ дызыхуишэр анэдэлъхубзэм и щыхупIэращ. Урысыбзэм и зыужьынымрэ тепщэныгъэ иIэнымрэ апхуэдизкIэ къэралым къаруушхуэ ирихьэлIэурэ къэгъуэгурыкIуащи, адыгэм и закъуэкъым и бзэр абы ецIыкIуэкIыу зи гупсысэм хэтIысхьауэ къыхэмыкIыжыр. Бэлыхь дыхедзэ адыгэр бзэкIи, хабзэкIи, языныкъуэхэм динкIи зытемыхуэ нэгъуэщI лъэпкъхэм егулIауэ зэрыдэпсэум, абы кърокIуэ езы бзэмкIэ республикэм Iуэху щызэрахьэну къызэрыхуимыхуэр. Ауэ сыту тыншу зыдэдгъэшрэ дэ а щхьэусыгъуэхэм! Псом нэхърэ нэхъ шынагъуэр ди бзэмкIэ къэрал Iуэху куэди мащIи зэрыземыкIуэр аращ. Здэхъунум дежи щыдгъэлажьэркъым. Псалъэм папщIэ, адыгэ фIэкIа зыдэмыс къуажэхэм зэхуэс щекIуэкIмэ, еджапIэхэм гъэ еджэгъуэщIэр къызэIуахмэ е къэзыух ныбжьыщIэхэм иужьрей уэзджынэ къыхурагъауэмэ - псори урысыбзэкIэ ирагъэкIуэкI. Гуауэкъэ? Зыми хигъэзыхькъым, зыри къапэувкъым, ауэ езы Iуэхур зыгъэхьэзырхэм екIуу къалъытэр а бзэращ. Сыт хуэдэ лъэпкъ гупсысэкIэ диIэр-тIэ? Литературэбзэ дызэриIэр лъэпкъыбзэм и лъабжьэр зыгъэбыдэ Iуэхугъуэщ, ауэ а лъабжьэр быдэу къэнэжыну пIэрэ бзэм и лэжьэкIэр яджу, абы кIэлъыплъу, къэхъу зэхъуэкIыныгъэхэр къагъэнахуэу, гъащIэм и къэхъугъэ, къэунэхуныгъэхэм псалъэщIэхэр хуагъакIуэу, ар зи къалэн щIэныгъэлI гуп димыIэмэ? Зы илъэс бжыгъэ гуэр ипэ «Адыгэ псалъэ» газетым хъыбар къитат терминхэм елэжьын щIэныгъэлI гуп зэрагъэпэщауэ. Сигу ар къыщIинар хъыбарегъащIэр зэриуха псалъэхэращ: гупыр пщIэншэу лэжьэнут. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, лэжьакъым. Ди республикэм курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт еджапIэ зэмыщхьхэр щыIэщ. Абыхэм щыщщ кадетхэр щагъэхьэзыру къэунэхуа еджапIищыр. ЗыкIи хуэмыхьэзыррэ хуэмызэIузэпэщу ахэр къызэIуаха хъуащ, къызэрыгуэкI интернатхэм къазэрыщхьэщыкI щымыIэу. Адыгэ хабзэм, гъэсэкIэм тету лэжьэн еджапIэ къызэIуихыну яужь ихьэн къытхэкIмэ, «националист» цIэр къыфIащынущ, къыддэпсэу лъэпкъым апхуэдэ зэримыIэр, иIэнкIэ Iэмали зэрыщымыIэр мынэхъ мащIэу зэран хъунущ - дакъыщхьэщыкI хъунукъым, зэхуэмыдэныгъэр емыкIущ. Ди тхьэмыщкIагъэр егъэбагъуэ «сыадыгэщ» жызыIэхэр хэпхъауэ щIыпIэ зэрызыххэм зэрыщыIэм. Интернетыр бзэр къэгъэсэбэпынымкIэ, зегъэужьынымкIэ къаруушхуэ зыбгъэдэлъу къыщIэкIащ, ауэ адыгэбзэм абы езым и увыпIэ щиIыгъкъым. Абы нэмыщI, хэт зэхиха адыгэбзэкIэ ди лъэпкъ телевиденэм рекламэ къитыу? Языхэзри хузэфIэмыкIыну аракъым, хуамыгъэфащэу, абы намыгъэсауэ, апхуэдэ Iэмал кърамытауэ аращ. Бзэр мылъкущ, ауэ ар дызытегужьеикI мылъкум хиубыдакъым. Ахъшэр Iэмалыншэу дыхуейуэ къыдолъытэри, хэкIыпIэ долъыхъуэ нэхъыбэу къэдлэжьыну, къэдлэжьар дгъэбэгъуэну. Зы цIыхум и ахъшэр къыздыхуэзэм щигъэтIылъынукъым, хамэм и нэ къыздытемыхуэн, хамэIэ щемыIэбын къилъыхъуэнурэ щигъэбыдэнущ. ЗыгуэркIэ хагъэкIыжми, хабзэхъумэхэм екIуэлIэнущ, къаригъэгъуэтыжынущ, зыхуэфащэр игъэпшынэнущ. Бзэм апхуэдэу дыхуэсакъыу, дытегузэвыхьу, тхъумэу, дгъэбагъуэу хэт жиIэфын? МэкIуэдри гъуэгу тетщ, ауэ сыт пэдгъэуврэ, дауэ къедгъэлрэ? Нальчик адыгэбзэ щызэхэпхми, урысыбзэкIэ гъэбэгъуащ, и гъунэгъу къуажэхэми нэхъыбэу щызекIуэр урысыбзэщ. Адыгеймрэ Шэрджэсымрэ я Iуэхур нэхъыфIу пIэрэ? Урбанизацэ, глобализацэ, интеграцэ жыхуаIэ Iуэхугъуэхэм адыгэ лъэпкъыр къыхэджэлыфынукъым, ауэ, тхуэмыхъуу «зацэ», «грацэхэм» я зэранкIэ дыкIуэдыжат, жытIэкIэ, диухиижыну? Дяпэ итахэм, нэгъуэщI ехьыкIэми, ятелъащ гугъуехьышхуэ, хьэлэбэлыкъ хэт зэпыту къэпсэуащ, ауэ зыгъэадыгэм щыщу зыри ягъэкIуэдакъым. Урыс-Кавказ зауэм и кIэм зи пщыгъуэр хуэза Жанхъуэт Кушыку гущхьэкъутэ куэдым Iууат, ауэ езым и гукъеуэр игъэпщкIути, лъэпкъыр хъума хъуным зыдигъэшт. Адыгэ лъэпкъыр сытым щыгъуэ кIуэдыжа, жаIэмэ, Жанхъуэт Кушыку и тетыгъуэм, жрамыIэ - арат и гупсысэ нэхъыщхьэр. Нобэ зи сабиигъуэхэр балигъ щыхъуну зэманым ирихьэлIэу адыгэ лъэпкъыр жьыгъей дыдэ хъунущ иджыпсту зи нэхъыжьыгъуэхэм Кушыку и гупсысэкIэр къатщтэу, урысыбзэкIэ къэпсэлъа ди цIыкIухэр адыгэ дымыщIыжмэ, къытщIэхъуэ щIэблэм адыгэбзэм и хьэлэмэтагъымрэ адыгэ хабзэм и телъыджагъымрэ я фIэщ дымыщIыфмэ. Ди тIасхъапIэ дыдэр здэщыIэр иджыпсту илъэсипщI-пщыкIуз зи ныбжьхэмрэ нэхъыщIэжхэмрэщ. ЩытыкIэ шынагъуэм дызэрихуамрэ ар къызыхэкIамрэ зэхэдгъэкIыныр губзыгъагъэщ икIи пщэрылъщ, ауэ абы апхуэдизкIэ куэдрэ дытепсэлъыхьащи, иджы зы упщIэ закъуэщ зи жэуап къэгъуэтыпхъэр: сыт зыхуэтщIэжыфыну дыкъызэтенэным папщIэ? Псом япэу, цIыкIу IыгъыпIэхэм я программэм хэтын хуейщ, дакъикъэ тIощIкIэ ирагъэкIуэкI дерсхэм къищынэмыщI, адыгэ (балъкъэр) цIыкIухэм щхьэхуэу анэдэлъхубзэкIэ таурыхъ, хъыбар къащыхуеджэ, лъэпкъ джэгукIэхэр щрагъащIэ, хабзэм щыхуагъасэ сыхьэтхэр - лъэпкъ гупсысэкIэм и гъэсэныгъэ сыхьэт. Ауэ фIырыфIкIэ хэтынукъым. Щхьэусыгъуэхэр: япэрауэ, гъэсакIуэхэр нэхъыбэм нэгъуэщI лъэпкъщи, урысыбзэкIэ фIэкIа псэлъэфынукъым; етIуанэрауэ, бзэ зэщымыщ зыIурылъ цIыкIухэр дгуэшыну Iэмал диIэкъым, жаIэнущ унафэщIхэм; ещанэрауэ, адыгэр (балъкъэрыр) нэхъ лейуэ къыхэбгъэщыныр экстремизмщ, къыжаIэнри зыми щыщкъым. Iуэхур кIуэтэну хуэмейхэм апхуэдэ гуэрщ къыппагъэувынур. А псом ящхьэжу, апхуэдэ пщэрылъ къэралым къытхуищIакъым, жаIэфынущ. Мыр зыуэ псалъэмакъ пыухыкIа зытещIыхьын хуей Iуэху мыцIыкIущ. Мыурыс сабийхэр зэкIуалIэ курыт еджапIэхэм предмету хъуар зы бзэкIэ щаджын хуейкъым. Псалъэм папщIэ, ди еджапIэхэм, къалэрэ къуажэкIэ зэхэмыдзауэ, адыгэбзэкIэ яджыпхъэщ адыгэ лъэпкъым и тхыдэр, Къэбэрдей-Балъкъэрым и географиер, адыгэ хабзэм и тхыдэр. Лъэпкъ тхыдэм, бзэм и тхыдэм гулъытэ нэхъыбэ хуэфащэщ. Ари тынш цIыкIуу къэхъунукъым. Щхьэусыгъуэхэр: ямыдэу къэувынущ къалэ еджапIэ унафэщIхэр, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ расписанием къигъэтIэсын хуеинущ классхэр гупу зэхэгъэкIауэ: иныкъуэр урысыбзэкIэ зыджынум, адыгэхэр (балъкъэрхэр) я бзэкIэ щаджыжыну гупым. Министерствэм къехьэлъэкIынущ апхуэдэ гупхэр зэреджэну тхылъхэр зэхэгъэувауэ къыдэгъэкIыныр, егъэджакIуэхэр гъэхьэзырыныр. Нэхъыщхьэу щхьэусыгъуэ хъунур мылъкущ. Курыт еджапIэхэм урыс литературэр щаджкIэ класс къэс спецкурсу хэтыпхъэщ адыгэ тхакIуэ-усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIыу урысыбзэкIэ зэрадзэкIахэмрэ урысыбзэкIэ тхэ адыгэ тхакIуэ-усакIуэхэм я произведенэхэмрэ. Абы щыгъуэщ ди лъэпкъ литературэр Урысей, дунейпсо литературэм хуэфащэ увыпIэ зэрыщиубыдыр, абыхэм щыщ зы Iыхьэу зэрыщытыр я гупсысэм хэпща щыхъунур. Абы къишэнущ сабийм и лъэпкъ литературэм лъэкIыныгъэ зэриIэр, адрей лъэпкъхэм яим зэрыпимыкIуэтыр я фIэщ хъуныр. ЗэкIэ зэрыщытыр аращи, урыс литературэ урокым классщIыб лэжьыгъэу, ди тхакIуэхэм я усэ гукIэ зэвгъащIэ яжетIэмэ, цIыкIу куэдыр щIоупщIэ: адыгэбзэкIи? ЯщIэркъым ди тхакIуэ-усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр урысыбзэкIэ зэдзэкIауэ зэрыщыIэр, урысыбзэкIэ тхэ зэрыдиIэр. Сыт хуэдэ IуэхущIапIэми адыгэбзэкIэ тхылъ щIалъхьэну, IуэхукIэ кIуа адыгэр и бзэкIэ псэлъэну хуиту щIыпхъэщ. Иджыри хуитщ, жаIэнщ, ауэ девгъэплъ, къэтщтэнщи, лъэIу тхылъхэр адыгэбзэкIэ тхауэ дывгъэхьи. Ар пэж щыхъунур къэрал Iуэху зезыхьэнухэм адыгэбзэр е балъкъэрыбзэр ящIэныр Iэмалыншэу ува хъумэщ. Сигу къокIыж Хьэх Сэфарбий и псалъэхэр: «Къулыкъум и Iуэхур Iуэхушхуэщ, республикэм къэралыбзэу щыуваитIым языр зымыщIэм къулыкъу ирамыту хабзэу хъумэ, зрагъэщIэнущ». Апхуэдэ къару зиIэнур Конституцэм итыращи, зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн хуейщ. ЦIыхур, лъэпкъхэр щыщхьэхуит къэрал дыщыпсэур пэжмэ, дэтхэнэми и щыIэныгъэмрэ зыужьыныгъэмрэ хуэфащэ гулъытэ иригъэгъуэтыныр къэралым и къалэн нэхъыщхьэщ. Хэтхэн хуейщ КъБР-м и Конституцэм къэрал IуэхущIапIэхэм урысыбзэм нэмыщI, республикэр къэзыгъэхъу лъэпкъитIым язым и бзэр фIыуэ зымыщIэ, абыкIэ къэпщытэныгъэхэм пхымыкIа щылэжьэну, щагъэлэжьэну хуимыту. Мыбы зыри егъэлея хэлъкъым, захуагъэу аркъудейщ. Дызыхуэныкъуэр ар къытхуэзылэжьыфын политик, юрист, цIыхубэ лэжакIуэ жыджэрщ. Мыхьэнэшхуэ зимыIэщ еджапIэм сыхьэт бжыгъэр нэхъыбэ пщIыуэ, абыкIэ адыгэбзэр къызэтебнэну ущыгугъыныр. Хуэфэщэн сыхьэт бжыгъэ иратри ирагъэдж инджылызыбзэр, ауэ зыщIэр мащIэщ. Урысыбзэм и сыхьэт бжыгъэри мащIэ дыдэкъым, ауэ Зыуэ щыт къэрал къэпщытэныгъэм ди еджакIуэхэр пэлъэщынукъыми, тхьэмахуэм лейуэ сыхьэтитIкIэ егъэджакIуэхэр дагъэлэжьэж. Дауи, жысIэм къикIыркъым адыгэбзэм и сыхьэт бжыгъэхэр зэбграх хъуну. Ар къэгъэнауэ, хуагъэфэща сыхьэтищым зырыз нэхъ мыхъуми еджапIэм къыщIимыгъужмэ, егъэджакIуэхэри ирагъаджэхэри щытыкIэ гугъум къинэнущи, хабзэ хъупхъэщ а сыхьэтыр Iэмалыншэу анэдэлъхубзэм иратыныр, класс къэс сыхьэтиплI яIэныр. Ауэ сыхьэт дапщэ хуумыутIыпщми, егъэджэкIэр цIыкIухэм дежкIэ мыщIэщыгъуэмэ, адрей предметхэм щалъагъу Iуэху бгъэдыхьэкIэ хьэлэмэтхэм хуэдэ адыгэбзэм хуезыгъаджэхэми дамылъагъумэ, анэдэлъхубзэр гулъытэ зыхуэщIыпхъэхэм хабжэнукъым. Нобэрей цIыкIухэм я гупсысэкIэр, IуэхуеплъыкIэр, дунейм и зыужьыкIэр зэрылъагэр къэзылъытэ егъэджакIуэращ адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэ еджакIуэхэм фIыуэ езыгъэлъагъуфынур. Ди бзэм къылъыс лейм дигъэгузавэурэ, абы тещIыхьауэ псалъэмакъыр нэхъыбэрэ едгъэкIуэкIми, мынэхъ мащIэу дызытепсэлъыхьыпхъэ гуныкъуэгъуэ диIэщ. Ар сыт хуэдэ предметкIи фIы дыдэу еджэу адыгэ сабийм яхэтыр зэрымащIэрщ. Ди быным щIэныъэ нэс едгъэгъуэтын хуейт, къэгъэпцIэгъуафIэрэ кIуэдыгъуафIэрэ мыхъуным, гупсысэкIэрэ IуэхузехьэкIэрэ ящIэным, IуэхутхьэбзащIэу къэмынэным, лъэпкъ Iуэху зэрахуэфыным папщIэ. Иджыпсту щIалэгъуалэм дызыгъэгуфIэ гуэрхэр ядыдолъагъу, «си лъэпкъ», «адыгэ хабзэ», «адыгэбзэ» жызыIэр нэхъыбэщ. Ауэ политикэм, бизнесым, хабзэм (законым) хэзыщIыкIхэр, хэзэгъахэр, къэрал къулыкъу щIапIэхэм ехъулIэныгъэ щызэзыгъэгъуэтыфахэращ лъэпкъым и Iуэхур зыгъэкIуэтэфынур. Илъэс пщыкIузым и кIуэцIкIэ къадж предметхэм, щыгъуазэ къудей мыхъуу, хащIыкIыу, къагурыIуэу ди цIыкIухэр едгъэджэфтэмэ, и щхьэм пщIэ хуищIыжу, адэ-анэр, лъэпкъыр, щалъхуа щIыналъэр - щыри зэпэщIимыхыу гупсысэ лъагъэ зиIэ щIэблэ диIэнут. Апхуэдэм фIэкIыпIэ имыIэу къилъытэнут къызыхэкIа лъэпкъым пыщIа псори лъапIэу, езыр зыгъэлъэпIэжыр а лъэпкъым зэрыщыщыр арауэ. Зы Iэмалщ зритхъумэжынуи, лъэпкъхэм я кум ди увыпIэ щыдубыдынуи диIэр - щIэныгъэ. Бзэншэ дызэрыхъум и щхьэусыгъуэхэм щыщ зыщ щIэныгъэ нэгъэса быным зэредмытыр, абы къешэ я гупсысэкIэр зэрычэнжыр. Курыт еджапIэхэр «тху» защIэу, медаль яIэу къэзыух псор пэжу щытамэ, ди тхьэмыщкIагъэр нэхъ мащIэнут, ауэ сабийри балигъри щхьэгъэпцIэж дызэдоджэгу. Мы Iуэхур нэхъ зэтеубла хъун щхьэкIэ, курыт еджапIэм щIэс адыгэ цIыкIухэм щыщу фIы дыдэу еджэхэм я къэухьым нэхъри зрагъэужьыну Iэмал къезытын лъэпкъ стипендие къызыхэкIын фонд диIэныр сыту насыпт. Бзэр джын хуейщ, и зэхэлъыкIэм, лэжьэкIэм, зыужьыкIэм теухуа къэхутэныгъэхэр зэпыч имыIэу емыкIуэкIмэ, абы къикIыр ди бзэр зызымыужь, емыфIакIуэ, зэманым дэмыхъу бзэуэ аращ. Лингвистикэ и лъэныкъуэкIэ щIэныгъэлIхэм ящIа къэхутэныгъэхэм пыща зэрымыхъурэ, щIэ къызэрыхэмыхьэрэ илъэс дапщэ хъурэ? Ди мащIэкъым щIэныгъэ ищхьэ зиIэхэр. Къулыкъу зыIыгъ адыги димыIэжу аракъым. Бзаджагъэри, Iущыгъэри, акъылри зэхалъхьэурэ щхьэж здэщыIэм елъытауэ и лъэпкъым нэхъ нэ лейкIэ къеплъу, и сэбэп къилъыхъуэу щымытмэ, ди дежкIэ къулыкъущIэр адыгэми нэгъуэщI лъэпкъми, къыщIидзынур зыщ - ди фейдэ зыхэмылъщ. Зыгуэрым и зэран къэтлъыхъуэну аракъым, ди лъэпкъым къыхуэгумэщIэн дыхуэныкъуэу аращ. Лъэпкъыр уахътыншэрэ гъащIэ иIэну къыхуимыухарэ къэзыгъэлъагъуэр и бзэм зэрыхущытыращ. Иджырей зызыужьа лъэпкъхэм я бзэр яхъумэн хуей-хуэмейм упщIэ нагъыщэ пагъэувэркъым. Хуейщ. Лъэпкъым и блэкIари, нобэри, къэкIуэнури зэпызыщIэфыр бзэращ. Сыт хуэдэ лъэпкъми псалъэкIэщ бгъэдэлъ Iущагъри, акъылри, къикIуа гъуэгуанэри, и щIэблэм я гупсысэр зэрипсыхьыну ущиемрэ щэнгъасэмри зэрихъумэр. Аращ бзэм къыпытхынум тещIыхьауэ хущытыным дыкъытекIыу гущхьэгъэсэкIэ, зэхэщIыкI и лъэныкъуэкIэ деувэлIэныр Iэмалыншэ зыщIыр, и щыIэнымрэ ди цIыхугъэмрэ зэпэзыгъэшачэр, «сыткIэ сыхуей?» упщIэм и жэуапу «си анэбзэщи, лъэпкъыбзэщи - сыхуейщ» жыдэзыгъыIэр. Бзэм и хъумэнымрэ зыужьынымрэ телэжьэнымкIэ адыгэр щыпсэу республикищри зэгухьамэ, къарури бэгъуэнт, Iуэхум къыпэщIэувэнухэри нэхъ щтэIэщтаблэ хъунт. Зэгухьэн, зэгуэмыхьэн? Ари упщIэ нагъыщэщ. Зэгухьауи дощIри, ари мащIэщ. Дыхуейщ хамэ къэрал щыпсэу адыгэри къызыфIэIуэхун къару, я бзэр яджыжыным щхьэкIэ зыхуеину псомкIи къызэригъэпэщыфу, зэпыщIэныгъэхэр гъэбыдэным телэжьэфу, зэкIэлъыкIуэным хэлIыфIыхьу. Iэмалыншэу дыхуейщ Дунейпсо адыгэ академие, бзэ щIэныгъэлIхэм, тхакIуэшхуэхэм, сурэтыщI лъэрызехьэхэм, психологхэм, юристхэм нэгъуэщI лъэкIыныгъэ зиIэ цIыхухэм лъэпкъ Iуэху щыдагъэкIыу. Академием и лэжьыгъэр къызэгъэпэща хъуным папщIэ Iэмалыншэу дыхуейщ Дунейпсо адыгэ фонд, ар лъэпкъым тригъэлэжьэфыну пэжагъкIэ, гуащIэфIагъкIэ, жыджэрагъкIэ, хэкупсагъкIэ къыхэбелджылыкIа цIыху. Дунейпсо Адыгэ академие, Дунейпсо Адыгэ фонд. Къэралым къытхуимыщIэр нэтщIысыжыным щхьэкIэ, сыт хуэдэ лъэпощхьэпори зэран къытхуэмыхъуфу зыдужьыным, дефIакIуэ зэпыту дыщыIэным щхьэкIэ. Хабзи демыбакъуэу, бзыпхъи дымыкъутэу, къэралхэм дагурыIуэрэ натIэрыIуапIэ дымыхъуу, ди щыIэкIэр лъэпкъыу хъуам щапхъэ яхуэхъуу дызэфIэувэжыным папщIэ. Хэкурысми хэхэсми лъэпкъ IуэхумкIэ тхьы пщэрылъыр зэхуэдабзэщи, зи къарумрэ щIэныгъэмрэ къигъэгугъэхэр къытхэкIын хуейуэ аращ. Ахэр зэрыубыду зэи димыIа къагъэхъумэщ ищхьэкIэ зи гугъу сщIа гуныкъуэгъуэхэм я нэхъыбэр, жызмыIэу къэнари дэщIыгъужу, нэхъ гъэзэкIуа щыхъунур. Сэ къысщохъу апхуэдэ Iуэхутхьэбзэ лъэпкъым къыхуащIэфыну Темыркъан Юрэ, Къанокъуэ Арсен, Къандур Мухьэдин, Бер Станислав, Щэумэн Хьэзрэт, Щоджэн Умит, Ерол Таймэз, Табыщ Мурат, Къып Гупсэ сымэ, ахэм хуэдэ сэ зи цIэ сымыщIэхэм. Егъэжьа хъуамэ, «сыадыгэщ» жызыIэхэм даIыгъынт. Сыт нэхъыщхьэу Дунейпсо Адыгэ академием дызэрыщыгугъынур, Дунейпсо Адыгэ фонд дыщIыхуейр? 1. Дэнэ щыIэ ди лъэпкъэгъухэри зэреджэн тхылъ, азбукэм къыщыщIэдзауэ, къыдэгъэкIынымкIэ, езыгъэджэнухэр къэгъуэтынымкIэ, гъэхьэзырынымкIэ. 2. Адыгэбзэр гъэлэжьэнымкIэ Интернетым и къарур къэгъэсэба хъунымкIэ. 3. Адыгэ IуэрыIуатэмкIэ диIэ беягъыр тхылъ екIу щIыжауэ, адыгэ унагъуэ къэс ялъэгъэIэсынымкIэ. 4. ПсэлъалъэщIэхэр къыдэгъэкIынымкIэ. 5. Лъэпкъышхуэхэм трах таурыхъхэм фIагъкIэ къакIэрымыху адыгэ таурыхъ трахынымкIэ. 6. Лъэпкъым бзэм елэжьу иIэ щIэныгъэлIхэр зэхэзышэ щIэныгъэ конференцхэр гъэхьэзырынымкIэ, егъэкIуэкIынымкIэ. 7. Адыгэ сабийуэ фIым я фIыжу курыт еджапIэм щIэсхэм стипендие яхуэгъэувэнымкIэ. 8. Хэкуми диаспорэми адыгэбзэм хуезыгъаджэхэм дэIэпыкъуэгъу яхуэхъун щIэныгъэ-методическэ тхылъхэр къахудэгъэкIынымкIэ. 9. Адыгэбзэм хуезыгъаджэ егъэджакIуэхэм, сабий IыгъыпIэм щылажьэ адыгэ гъэсакIуэхэм зрагъэгъуэта ехъулIэныгъэмкIэ зэпегъэуауэ текIуэр гъэлъэпIэнымкIэ. 10. Адыгэ щыпсэууэ Урысейм щыIэ щIыналъэхэм адыгэ цIыху щэджащэхэм я цIэхэр фIащыным хэлэжьыхьынымкIэ. 11. ТхакIуэ-усакIуэфIхэм ятхауэ къэралым къыдигъэкIыну «хунэмысу» щылъ тхыгъэфIхэр къыдэгъэкIынымкIэ. 12. Адыгэ унагъуэ хуэмыщIахэм я быныр еджэныгъэм пыщIауэ зыхуеинухэр яIэнымкIэ дэIэпыкъуну. 13. Адыгэбзэр пропагандэ зыщI лэжьыгъэ шэщIа иригъэкIуэкIынымкIэ (видеороликхэр, баннерхэр, сурэтхэр н.къ.) Зы лъэныкъуэкIэ ди политик, юрист, жылагъуэ лэжьакIуэ жыджэрхэм, мыдрей лъэныкъуэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием, Дунейпсо Адыгэ фондым (а тIур зыщ) я лэжьыгъэ купщIафIэр - къару, акъыл, щIэныгъэ зэхэдзэращ дыщызыгъэIэфынур. КъызошалIэ аргуэру IутIыж Борис и гупсысэ-хъуэпсапIэр, абы зи гугъу ищIымкIэ гугъапIэу сиIэр тхакIуэхэм ямызакъуэу: «Бзэми ехъумэ къызэIухын хуей щэху хьэлэмэтыщэхэр. НаIуэ къэмыхъуа телъыджэ бжыгъэншэхэр... ИIэщ апхуэдэ телъыджэхэмкIэ гъэнщIа къару ин ди адыгэбзэми. Поплъэ адыгэбзэр а къару щэхухэр къэзыхутэну тхакIуэхэм. Абы и телъыджэ жейхэр къэзыгъэушыфыну тхакIуэхэм. ГурыщIэм и плIанэпэ дэтхэнэми дэпшытIэ хъууэ ди бзэр тIатIийм ещхь зыщIыфыну тхакIуэхэм. Iу бахъэм ихь гупсысэ нэхъ къэубыдыгъуей дыдэхэри адыгэбзэкIэ къэзыпхъуэтэфыну тхакIуэхэм... Хэт ищIэрэ, уахътыншэ хъуныр адыгэбзэмрэ а бзэмкIэ къагъэщI ди литературэмрэ я насып къихьмэ... Къихьынуи дыщогугъ! И насып апхуэдэ къимыхьынкIэ гурыщхъуэ зыхуэпщI бзэм уритхэныр, куэд зымыкIуну къыпщыхъу литературэкIэ лъэпкъ псо бгъэхьэулеиныр икIагъэщ... НтIэ, апхуэдэ насып адыгэ тхыбзэм игъуэтрэ лIэщIыгъуэрыбжэурэ къэкIуэнум хэбакъуэу щIидзэмэ, ди нобэрей хъуэпсапIэхэр щыхьэщIэ зэманым псэунухэр зэгуэр щIэгуфIыкIыурэ иджырей тхыгъэхэм къеджэнщ, ди бзэ къэгъэIурыщIэкIэхэри сабий псэлъэкIэм ирагъэщхьынщ... Сыту я насып а ди хъуэпсапIэхэр щыпэкIу зэманым псэуну адыгэхэм! Сыту я насып!.. Тхьэм апхуэдэу хъуну къыщIигъэкI!» Тхьэм ар апхуэдэу къыщIэкIыным пэлъэщын лъэпкъыу дэ дыкъыщIигъэкI!
{ "source": "adygabza.ru", "id": "rayuta.txt" }
Ричмонд Уолтер «Адыгэ лъэпкъгъэкIуэд» пычыгъуэ Ричмонд Уолтер США-м и Калифорние штатым хэхьэ Лос-Анджелес къалэм щопсэу, Оксидентал колледж университетым Урысейм и тхыдэм щолэжь. «Адыгэ лъэпкъгъэкIуэд» тхылъым нэмыщI, ди щIыналъэм теухуауэ щIэныгъэлIым и Iэдакъэ къыщIэкIащ «Кавказ Ищхъэрэ: дызэрыт зэманыр, дыгъуасэ, пщэдей» тхылъыр. 1864 Къэралыр адыгэхэм я щIым хуейт, езы адыгэхэм зыкIи хуэныкъуэтэкъым. Фадеев Ростислав Лъэпкъ илъэщIыкI Иужь дыдэу урысхэм Шэрджэсейм ебгъэрыкIуэн щыщIадзар 1861 гъэм и щакIуэгъуэ мазэрщ. Адыгэ Хэкум цIыху щхьэбжыгъэу къинар мин щищу (300 000) къалъытэри, абыхэм яхурикъуну батальон 65-рэ, къэзакъ дивизион 25-рэ, топи 100 зэрагъэпэщащ. Урысым зыхищIыхьыр къазэрыгурыIуэу, инджылызхэр Iуэхум къыхэIэбэнкIи зэрыхъунум илIыкI Евдокимовыр хъийм икIауэ дзэр иришэжьэным хуепIэщIэкIт. Уеблэмэ езым и IуэхутхьэбзащIэхэм ар апхуэдизкIэ яхуэпхъашэти, зыкъаIэтыну щыхьэзыр дакъикъэ къахуихуащ. Егъэлеяуэ цIыхушхуэ кIэроху жаIэу хъыбар щрагъащIэм, «Iуэхум пэрыту ирелIэ», - жэуапу яритауэ къаIуэтэж. Евдокимовым и зэран къэзакъ къуажэхэми екIт. Абыхэм я нэхъыбэр Кавказым зыкIи емыщхь Урысей щIыпIэхэм кърашати, бгылъэ щIыналъэм зэрыщыпсэунур яхузэгъэзахуэтэкъым. А псом ищIыIуж, Евдокимовыр Iуэхум пэрыхьэн и пэ ерыскъымрэ хъыбар зэрызэIэпах IэмалхэмрэкIэ зэтриухуатэкъыми, Iэщэ зымыIыгъ IэпхъуагъащIэхэм махуэ щIагъуэ дэмыкIыу адыгэхэр къатеуэт. Куэд дэмыкIыу абыхэм ягу зэщыуэпэщ, губгъуэи имыхьэжу, Iэщи ямыгъэхъужу дэхуэххэри я псэущхьэхэм ядэщIыгъуу мэжэщIэлIэным икIуэдыкIын щIадзащ. Евдокимовыр къэзакъ къэIэпхъуахэмрэ дзэм хэт сэлэтхэмрэ зэрепхъэшэкIыр зырикIт ар адыгэхэм гущIэгъуншэу зэрахущытым елъытауэ. Зыгуэр зыIэрагъэхьэн е ягу тырагъэзэгъэжын мурадкIэ хьэкIэкхъуэкIагъэ хэлъу яукI Адыгэхэм я хъыбархэр гъунэжт. Абыхэм я щапхъэу къэтхьынщ урысыдзэр 1862 гъэм и мэлыжьыхьым Фарз псыежэхым Iут плъырыпIэм икIыу Сочи и къуэкIыпIэ-ищхъэрэкIэ щызэкъуэува Абазэхэхэмрэ Адыгэхэмрэ зэребгъэрыкIуар. ЗауэзэрылIым зиубгъури бгыщхьэм къыщыпащащ. Гупышхуэу адыгэхэр къызытеуа урысыдзэр имыкIуэту хъуакъым. Ягу къатекIуахэм тырагъэзэгъэжын папщIэ, урысхэм я гъуэгум къытезэрыхьа, топхэм зыгуэрурэ IэщIэкIа адрей адыгэхэр щэ бжыгъэкIэ залымыгъэ гуащIэкIэ зэтраукIащ. Дроздов къызэриIуэтэжымкIэ: «Бгыр мыжурэкIэ зэхэуIухьа бий хьэдэхэм щIигъэнат… сэлэтхэр апхуэдизкIэ Iэл хъуахэти къэбгъэувыIэжыну гугъут». Армырами кIуэ пэтми нэхъ тегушхуэхэт зэгъэзахуэ хэмылъыххэу Iэщэ къагъэсэбэпыным. Зэгуэр Щхьэгуащэ деж гъуэгухэр щызыухуэ Тихотский генералым и сэлэтхэр зи къуажэхэр ягъэса адыгэхэм зыщагъэпщкIуа мэзым топкIэ хэуащ. Абы иужь Евдокимовым дзэр Псыжь ищхъэрэкIэ иришажьэри къуэкIий щIыбагъым къыдэт адыгэ къуажэм топышэхэр тригъэлъэлъащ. Къуажэдэсхэм я нэхъыбэм мэзым зыщагъэпщкIуати, сыхьэтихкIэ топышэ макъыр зэпымыууэ Евдокимовым мэзым иригъэуащ. Куэд дэмыкIыу Дроздов хъыбар къыIэрохьэ адыгэхэм «зы цIыху къэмынэжыху зэуэну тхьэ яIуауэ: ди къуажэм къыщренэ урысхэм я хьэдэхэр» жаIэу. АдэкIэ къэхъуа лъыгъажэм къигъэлъэгъуащ адыгэхэм я псалъэр зэрагъэпэжыр. Абдежым адыгэ щэ бжыгъэхэм топышэм зыкъыщыIуадзащ «минхэм» щIэпхъуэжыну Iэмал иратын папщIэ. Бгыр щIэзыщыкIыу, къуажэхэр зыгъэс урысыдзэм и сэлэтхэм яшэчын хуей хъурт топышэхэр зэрателъалъэм щхьэкIэ къамыгъанэу, имыкIуэту къатеуэж Адыгэхэр. Дроздов щыхьэт тохъуэ Iэщэншэу мыжурэхэм зыкъыпэщIадзэу» ахэр 1863 гъэм и гъатхэм зыхэта зауэзэрылIым. 1862 гъэм и бжьыхьэм Евдокимовым «Дахэ отряд» зыфIаща зауэлI гуп щхьэхуэ къызэригъэпэщащ. Абы и къалэнт кърымыдзэр Iэнэпэ деж щегъэжьауэ къуэкIыпIэмкIэ кIуэтэху, бгырысхэм нэхъ гуащIэу ебгъэрыкIуэну. Натыхъуейхэр абдежым хахуэу щызэуащ, ауэ 1862 гъэм и кIэм абыхэм я щIым и нэхъыбэр къэзакъ къуажэхэм яубыдакIэт. «Я псэукIэр яхуэмыхьыж хъуащ абыхэм,- етхыж къанэ щымыIэу Берже Адольф,- ар фIы дыдэу къызыгурыIуэ Евдокимов графым хэкIыпIэ гъуэзэджэ а Iуэху зэхэзэрыхьам къыхуигъуэтащ – урысхэм я тепщэныгъэр зигу темыхуэр хуитыбзэу Тыркум иIэпхъукIыну». Евдокимовыр гущIэгъу зыхэлъ цIыхуу, адыгэхэм нэхъ къаугъэшыуэ яхэтхэм фIэкIа Тыркум зыри игъэIэпхъуэну химыгъэзыхьа хуэдэу къэзыгъэлъэгъуэну хэт Берже 1862 гъэм, фокIадэм и 17-м генералым и тхыгъэхэм щыщ пычыгъуэ къехь: Ди унафэ къыщIэувэн зымыда лъэпкъхэр Тыркум гъэIэпхъуэныр къэралыгъуэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ хэкIыпIэщ, гугъущэ демыхьу зэман кIэщIым зауэр духыфын хуэдэу. ИтIани сэ а бгъэдэхьэкIэр КъуэхьэпIэ Къэфкъазым щедгъэкIуэкI бэнэныгъэм, узыхуекIуэ хъун и Iэмал мынэхъыщхьэхэрат зыхэзбжэр. Урысхэм я лъабжьэ щIэтын нэхърэ хэкIуэдэжыныр е лIэпэныр нэхъ къыхэзых адыгэхэм я гур мыкъутэу къезыгъэл хэкIыпIэщ ар. Тхыгъэм щыщIэхъума пэжращи, адыгэхэм я хэкур яхъумэжын щамыгъэтмэ, ахэр зэтраукIэн щхьэкIэ урысхэм я нэ упIэрапIэнутэкъым. Япэ щIыкIэ Евдокимовым ибзыщIащ адыгэхэр Тыркум иригъэкIыну зэримурадыр, Александр пащтыхьым абыхэм Псыжь ищхъэрэкIэ щIы яхухигъэщхьэхукIыну къигъэгугъа пэт. Iуэхур икIэм нэсын и пэ, Къэфкъаз Iуэхур мыпхуэдэ унафэм хуэкIуащ: урыс къэралыгъуэм хэту къанэ хъуну адыгэ бжыгъэр… зыми ищIыскъым. 1859 гъэм иращIылIа зэгурыIуэныгъэм емыплъу, абазэхэхэр мызэ-мытIэу Урысейм и гъунапкъэхэм къобгъэрыкIуэри, абыхэм жаIэр афIэкIа уи фIэщ пщIы хъужынукъым, - зигъэзахуэу еукъуэдий I863 гъэм кавказыдзэм и штаб нэхъыщхьэм и унафэщIу тета Карцов Александр: Нэрылъагъу хъуакIэщ… сыткIэ дагурыIуэу бгырысхэр ди лъабжьэм щIэдмыгъэувэми, а зэгурыIуэныгъэм унафэ щиIэнур езыхэм я гукъыдэжым зихъуэжыхущ. Тенджыз ФIыцIэ лъэныкъуэмкIэ зы фоч уэ макъ, тырку сулътIаным къригъэхьа хуэдэу тхыгъэ нэпцI, е «пэщэ» цIэр зыфIэзыщыжа гуэр утыку къызэрихьэу, зауэм щIидзэжынущ. Бгыхэр быдапIэхэм едгъэубыду ахэр гъуэгукIэ зэпытщIэжу щытми, сытым дежи хьэзыру дзэ абрагъуэ къуршхэм пэгъунэгъуу щыдмыIыгъмэ, зы дакъикъэ псэхугъуэ диIэнукъым. Карцов къыгурыIуащ: «Бгырысхэм я деж къыщыдгъэщхьэпа Iэмалхэр гущIэгъуншэу къыпфIэщIынущ, ауэ ар икIэщIыпIэкIэ къэдгъуэта хэкIыпIэщ. Илъэс щэныкъуэ хъуауэ дгъэунэхум ди фIэщ ищIащ дыгъуэнымрэ хъунщIэнымрэ икIагъэу къэзмылъытэ лъэпкъым мамырыгъэ зэрыдумыщIыфынур». Абы къыхэкIыу, жэпуэгъуэм и 4-м Евдокимовым ткIийуэ къыхелъхьэ адыгэ псори Тыркум игъэIэпхъукIын хуейуэ: Зи ЩIыхьыр Иным хъыбар фэзгъэщIэну си гуапэщ Псыжь Iэгъуэблагъэм щыпсэухэр Тыркум игъэIэпхъукIыным иIэ мыхьэнэмрэ апхуэдэ унафэ къэдмыщтэнкIэ Iэмал зэримыIэмрэ… Iэщэ ятедубыдэмэ, дауи, абыхэм гува щIэхами дэ жытIэр ящIэнщ, здэдгъакIуэми Iэпхъуэнхэщ, ауэ щIыпIэщIэм идгъэтIысхьа нэужьи, абыхэм я хьэлыр щIэх ханынукъым. КъищынэмыщIауэ, къэгъэпцIэгъуафIэхэщи, Тыркум сыткIэ къимыгъэгугъэми, я фIэщ хъунущ. Дзэр мыбдежым итмэ, плъырхэр хъыбар нэпцIхэм гъуэгу ирамыту кIэлъыплъмэ, шэч хэмылъу, щIыналъэм ис цIыхухэр мамыру псэунщ. Ауэ хамэ къэралхэр къыхэIэбэну Iэмал закъуэ къызэрыкъуэкIыу, Константинополь дэс къаугъэшыхэм мыбы ис цIыхубэм я нэIэр трагъэкIынукъым, къызэщIагъаплъэу дэ зэран къызэрытхъуэхъун зы бгъэдыхьэпIи къагъэнэнукъым. Абы къыхэкIыу, щIыналъэм къару лей щытIыгъыныр, КъухьэпIэ Къэфкъазым зэхэтыкIэ хэха щыдухуэу, Iэмал щхьэхуэхэр зытхъумэжын папщIэ къыщыдгъэсэбэпыныр игъуэщ, зэрыгурыIуэгъуэщи – абы мылъку текIуэдэнущ. ЗэрымыщIэкIэ Псыжь деж къыщыхъу къаугъэ жьгъейхэми дызыхуэмыхьэзыр Iуэху къытлъыкъуагъэкIынкIи хъунущи, абыи текIуэдэнур хухэдгъэкIыпхъэщ. Iэуэлъауэшхуэ къамыгъэхъуми, щIалэ зыбжанэм зыкъаIэтауэ зэхахыху, цIыхухэм мы щIыпIэм мамыру щагъэпсэуным гугъэ хахыжыпэнкIи хъунущ. Евдокимовым къэралым мылъку игъэкIуэдынкIэ зэрыхъунум щIытригъэчыныхьыр Александр иджыри бгырысхэр зэрырагъэIэпхъукIын уасэм унафэ трищIыхьатэкъыми аращ. Пащтыхьыр гузавэрт адыгэхэр ирагъэкIыну унафэ къащтэмэ, абы мылъкушхуэ зэрытекIуэдэнум. Евдокимовым абы къыгурегъэIуэ ирамыгъэкIыу я Хэкум къранэмэ, къэрал мылъкуу абы ихьынур зэрынэхъыбэжыр. I863 гъэм и пэм зауэр и кIэм нэсащ. Урысей унафэщIхэм ягъэзэщIа лэжьыгъэм узэреджэнур щIыналъэм исхэм иращIылIа «лъэпкъ илъэщIыкIыныгъэщ». Шапсыгъхэм, абазэхэхэм, убыххэм гъэм и кIыхьагъкIэ имыкIуэту заIыгъами, Дроздов нэхъыщхьэхэм хъыбар зэраригъащIэмкIэ, "бийм къыдэзауэурэ хэщIыныгъэшхуэ игъуэтри къарууншэ хъуащ, щIыналъэр къэдубыдыныр къызэрыдэхъулIэр илъагъуху, дэнэкIэ кIуэми ди дзэхэм къызэраухъуреихьым щыхьэт техъуэху, и гур фIокIуэд". Накъыгъэм ирихьэлIэу урысхэм бжьэдыгъухэм я щIыпIэхэм «и псэр» яубыдри абазэхэхэм дежкIэ яунэтIащ. Языныкъуэ адыгэхэр къакIуэри урысхэм зратащ, адрейхэр, урысхэр кIуэ пэтми нэхъ жыжьэ зэрыкIуэцIрыкIым кIэлъоплъри, мэзым мызауэу щIэст. Дроздов зэриIуэтэжымкIэ, зызытахэр хагъэдащ: е урысхэм къыхуагъэлъагъуэ щIыпIэхэм щотIыс, е Тыркум йоIэпхъукI: «Иужьрейхэр нэхъыбэщ. Абыхэм гужьгъэжь къытхуаIэр щIамыхъумэжу, щхьэхуимыту я Хэкур яфIэзыгъэкIуэда дэ къытхуаIэ гурылъхэр ямыбзыщIу къыдэбгхэрт, нэлат псалъэхэри зэхэдз ямыIэу къыттракIутэт». Веньяков а сурэтыр нэгъуэщIущ къызэригъэлъагъуэр: Зауэр гущIэгъуи хьэтыри хэмылъыжу залымыгъэ защIэкIэ едгъэкIуэкIт. Лъэбакъуэ зырызурэ дыкIуатэрт, сэлэтыр зытеува щIы кIапэ къэс зы цIыхупсэ къидмынэу, къэгъазэ имыIэжу щIым бгырысхэр тетлъэщIыкIыу. Уэсыр зэрытекIыу, жыгхэм тхьэмпэ къыпимыдзэ щIыкIэ щэ бжыгъэкIэ бгырыс къуажэхэр зэтедгъэсхьащ. Гъавэ зытраса я губгъуэхэм дихьэри я хьэсэхэр дишхэм едгъэубащ. ЦIыхухэр бэлэрыгъауэ датеуэфмэ, асыхьэтым псори плъырхэр къабгъэдэту тенджыз Iуфэм етхулIэт, адэкIэ - Тырку лъэныкъуэмкIэ… ХьэкIэкхъуэкIагъэм пэгъунэгъу гущIэгъуншагъэм щыхьэт ущытехъуэи къэхъут, ди дзэм ахэр игъэмэщIэну хэтами. Абы ищIыIужкIэ Забудский генералым I864 гъэм и шыщхьэуIум жеIэ: «Дэтхэнэ лъэпкъми къахэкIа хэкурысхэу хъунщIэнрэ зэуэнрэ зи нэрыгъхэр къарукIэ, къэрэгъулхэр къабгъэдэту щIыпIэм ирахури тенджызым и адрей Iуфэм ирагъэшащ». 1863 гъэм и гъэмахуэмрэ бжьыхьэмрэ урысхэм къезэуахэр апхуэдэу куэд хъукъым: зауэлI щэныкъуэм нэсын-нэмысын гупхэрат къэнар, зэзэмызэ шы къаубыдмэ, Iэщ щхьэ зыбжанэ ирахужьэфмэ, е урыс сэлэт уIэгъэ ящIмэ е яукIмэ, нэхъыбэ яхузэфIэкIтэкъым. Евдокимовым зэрахуиIуатэмкIэ, ««Псыжь» Iэгъуэблагъэм ит дзэм иригъэкIуэкIа теуэхэм я фIыгъэкIэ, мыгъэрей гъэмахуэм и кIыхьагъкIэ бгырысхэм кIуапIи жапIи къахуэдгъэнакъым, къыдэзэуэфын дэнэ къэна, зыкъытпашэфынукъым». ШыщхьэуIум «хэкIыпIэ къызыхуэмынэжа» абазэхэхэр урысхэм елъэIуахэщ я унэхэм жэпуэгъуэ хъуху щIагъэсыну, я гъавэр Iуахыжыфын хуэдэу, арщхьэкIэ Евдокимовым яхуидакъым. ФокIадэм урысхэм КъуэкIыпIэ Шэрджэсейм щыIэ Уарп псыежэхым и псыхъуэр яубыдри хьэмыщейхэр, сыт щыгъуи урысхэм я лъэныкъуэу щыта Хъан-Джэрийхэ я лъэпкъыр, Кавказ къуршхэм ирахулIэри даубыдащ. Нэхъыбэм къуршыщхьэм зыщагъэпщкIуащ. Гъэмахуэм и кIэм бгыхэр щIэзыщыкI Евдокимовым ахэр кърихухыжри Iуфэм ирихулIэн щIидзащ. Зи гъавэ Iузыхыжыну зыхуимыдахэм, ерыскъы мащIэ дыдэт яIыгъыр. Сыт хуэдизкIэ I863 гъэм и гъэмахуэм урысхэм лей зэрамыхьами, бжьыхьэм къэхъуахэращ къэзыгъэлъэгъуар Евдокимовыр, и плъапIэм лъэIэсын папщIэ, адыгэ цIыхухъуи, бзылъхугъи, сабии зэрыщымысхьынур. Iуэхур нэхъ тегушхуауэ, набдзэгубдзаплъэу зэрызэфIагъэкIынум иужь ихьахэщ: дзэр къуажэхэр щIищыкIыурэ псыхъуэм нэс дэкIуеинущ, апщIондэху адыгэхэм мэзым зыщагъэпщкIунущ. Урысхэм къуажэхэри абы къыщагъуэт ерыскъыпхъэхэри ягъэсынущ, Iэщу къапэщIэхуэр зэщIакъуэнурэ бгым къехыжынущ. Абдежым абыхэм тхьэмахуитI-хуэдизкIэ зыщаIэжьэнурэ, адыгэ щIэпхъуэжахэм яухуа пщыIэхэр ягъэсурэ, адэкIэ псыежэхым ищхъэрэкIэ яунэтIынущ. Ардыдэр тIэуи щэи къытрагъазэурэ ящIэнущ, Евдокимовым адыгэ псори зэраукIамкIэ е зэрырахуамкIэ игу зэгъэху. Гупсысэ гъэщIэгъуэным дыхуешэ а Iуэхум. Зауэ губгъуэм щигъэхъахэр щитхыжкIэ, Евдокимовым Адыгэу яукIамрэ Iэрыубыд ящIамрэ я бжыгъэр хегъэщI, ауэ щыхъукIэ, адрей мыхьэнэшхуэ зимыIэ къэхъукъащIэхэр нэгъэсауэ къретхэкI. Адыгэхэр къэзакъ станицэхэм теуэ щыхъукIэ, абыхэм яубыдахэр къызэрыригъэгъуэтыжам е къызэрыригъэутIыпщыжам нэгъуэщI зыгуэрущ ар зэрытепсэлъыхьыр. Апхуэдэхэм деж Адыгэхэми, щIыпIэхэми, теуэхэми я бжыгъэр хуэгъэфэщауэ фIэкIа къигъэлъагъуэкъым. Псалъэм папщIэ: ЕплIанэ Компанием хуэдгъэхьэзырауэ, Еджэрыкъуей станицэм деж сэлэтийм щахъумэ Дагъыстэн эскадроным мэкъуауэгъуэм и 24-м хъунщIакIуэ щэщI хуэдиз къатеуэщ, и Iэщхэмрэ шыхэмрэ къаухъуреихьщ, шы 23-рэ яхури, офицерищ яубыдащ, псынщIэ дыдэуи Белум деж зыщагъэбыдэжащ. Дзэхэм ялъэкI къамыгъэнэу Белореченскэ гъунапкъэм щегъэжьауэ Куржыпс нэс щIыпIэр щIащыкIа пэт, зэранщIакIуэхэр къахуэгъуэтакъым. А теуэм ди сэлэтитI къулыкъукIэ нэхъ лъахъшэу хэкIуэдащ, ещанэр гъэру яубыдащ. Евгъапщэт а тхыгъэр къуажэм зэрытеуэ хабзэр зэритхыжым: ШыщхьэуIум и 24-м Ширван Станицэм пщэдджыжьым жьыуэ щежьэри батальонибл, шу эскадронищ, Iэщтырхъан къэзакъищэ топий я гъусэу Пшыш псыежэхым зэпрыкIахэщ. Станицэм верстиплI хуэдизкIэ пэжыжьэ Шикот псыежэхым и псыхъуэм дыхьэхэри мэзыр зэрыщыткIэ щIагъэкъабзыкIын щIадзащ. А Iуэхур шыщхьэуIум и 29-м пщIондэ екIуэкIащ. АпщIондэху а щIыпIэм бийм и къуажэу итхэр ягъэсащ. Абазэхэ гупышхуэ мыжыжьэу щытащ, ауэ къыдэзэуэн Iуэху зрахуакъым. 29-нэ махуэм и пщыхьэщхьэм гупым адэкIэ, Шыкъуэт ипщэкIэ, ирикIуэн щIидзащ. Езыр-езыру упщIэ уигу къокI: «Сыт абазэхэ зэхуэсахэм къащыщIар?». Абы и жэуап зэи къыпхуэгъуэтынукъым. ИтIанэ сыт Евдокимовым «гупышхуэм» къригъэкIыр? Абыхэм бзылъхугъэрэ сабийрэ яхэта? Къуажэ дапщэ ягъэсар? Ахэр дзэм нэхъапэIуэкIэ яубыдауэ щыта? Евдокимовым а упщIэхэм я жэуап зэи итакъым. Апхуэдэ дыдэ псалъэ щIэуфакIэ Евдокимовыр топсэлъыхь адыгэхэм я бжыгъэм: Жэпуэгъуэм и I9-м щегъэжьауэ 26-м нэс Абинскэ эскадроным иубыд щIыпIэм зэрыщыту хэкурысхэр зэрырахум ипкъ иткIэ, мыпхуэдэ унафэхэр къащтащ: Кърым станицэм пэгъунэгъу мэзым Абинская, Литирская псыхэм я хъуреягъкIэ Хабльскэм нэс, адэкIэ гъуэгум бгъурыту ипщэкIэ… Колоннэ зыбжанэ а гъуэгум ирикIуащ нэхъ щIыпIэ зэгъуэкIхэм нэсурэ къэзакъхэр зытес щIыхэм хэкурысхэр трагъэкъэбзыкIыу. Ар зэфIагъэкIа нэужь, бзылъхугъэрэ цIыхухъуу нэрыбгэ плIыщIрэ блырэ гъэру яубыдащ. Евдокимовыр зытепсэлъыхь щIыпIэр Шапсыгъ щIыналъэм и курыкупсэм хуэзэу миль щитI зэбгъузэнатIэщ. Абы нэрыбгэ плIыщIрэ блы нэхърэ нэхъыбэ исын хуеящ. Абы къыхэкIыу урысыдзэм и колоннэхэм «хэкурысхэр къэзакъыщIхэм лъэщыгъэкIэ ирагъэкъэбзыкIащ» («заставили туземцев очистить казачьи земли») псалъэухам упщIэ къегъэув: адрейхэм, а плIыщIрэ блым хэмытахэм сыт къащыщIар? ИтIанэ Евдокимовыр сытым дежи бзылъхугъэхэмрэ цIыхухъухэмрэ топсэлъыхь, ауэ зэи сабийхэм я гугъу ищIыркъым. Докладхэр псори IуэхугъуитIкIэ зэтохуэ: Евдокимовым зэи жиIэркъым гъэру яубыдахэр здэкIуэну зыхуеяр. ЖиIэ хъумэ, зы къэмынэу Тыркум икIыну хуея хуэдэу жеIэ, зы щапхъэ закъуэ къыщынэмыщIа. Евдокимовым зауэ губгъуэм къритхыкIа нэгъуэщI тхыгъэхэм уахэплъэмэ, мыгурыIуэгъуэу къонэ генералым адыгэхэр зэрыхуэмыбжри, абыхэм къащыщIар и хъыбарым зэрыхухэмыгъэхьэри. Абы къыхэкIыу, къуршхэм къыщыхъуам и пэжыпIэр къыбгурыIуэныр Iэмал зимыIэ мэхъу. Сэшхуэ зэхэуэ щыIауэ пIэрэ? Хьэдэ дапщэ урысхэм къагъуэтар? Сыт цIыхубзхэм, сабийхэм, лIыжь-фызыжь гъуэгуанэ темыхьэфынухэм иращIар? Ар игъащIэкIи зи жэуап дымыгъуэтыжыну упщIэу къэнэну къыщIэкIынщ. 1863 гъэм и жэпуэгъуэмрэ дыгъэгъазэмрэ я зэхуакум адыгэхэр тенджыз Iуфэм щрыригъэхум, Евдокимовым фIы дыдэу ищIэрт ахэр къызэремылынур. 1830 гъэхэм Вельяминовым и унафэ щIэту дзэ'зешэу щытыху, абы игъэунэхуат тенджыз Iуфэм жьыр зэрыщызэпымыури, борэнхэр къыщыхъеирейуэ зэрыщытри. Абазэхэ щIыналъэм щиIыгъ езым и дзэм щыщхэм фокIадэм и кIэм къыгурагъэIуат абы адыгэхэр бжьыхьэу иригъэIэпхъукIын щIидзэмэ, Iуэхур зыхуэкIуэнкIи хъунур: Эскадроным сылъыгъуэзэну сыщыкIуам щыгъуэ абазэхэхэм я нэхъыжьхэр 12 махуэм затыну къэкIуат, 1864 гъэм и гъатхэр къэсыху я унэ щIэдгъэсыжыну лъаIуэхэу, ауэ сэ ар хъункIэ Iэмал зэримыIэр яжесIащ. Пшэх отрядым сыкъыхэкIыжауэ Ставрополь сыкъэкIуэж пэт, жэщым сыкъыщыувыIа Тэрч станицэм I3 махуэмпщIэ нэхъ зиIэ абэзэхэ тхьэмадэхэр затыпэу къекIуэлIахэщ, иIэпхъукIыныр зэрыгугъур, щIымахуэр къызэрысар, я унэ щIагъэсыжмэ, тетыгъуэм сыт къапимыубыдми арэзы зэрыхъунухэр жаIэу. Абазэхэхэм я гугъуехьыр ящхьэщытхын, ди Iуэхури дызэрыхуейуэ зэтедгъэувэн папщIэ, унафэ пыухыкIахэр иIэу пристэф согъакIуэ абыхэм я деж. УнафэщI нэхъыщхьэр Iуэхур зэрекIуэкIым щыгъуазэу щыдгъэтынщ. Адыгэхэм бжьыхьэм я унэхэр ябгынэмэ, бэлыхьымрэ лIэныгъэмрэ зэрыIэщIэмыкIыфынур къыжраIа пэт, Евдокимовым лъэщыгъэкIэ абазэхэхэр я хэкум ирихуащ. Езым зыкъызэриумысамкIэ, ахэр «зэи дзэм къапэщIэмыува», сыт щыгъуи урысхэм паубыдыр зыгъэзащIэ цIыхухэт. Абы Iэщэ зымыIыгъ цIыху Iэуэлъауэншэхэр ирихужьэри мыцIыху щIыпIэм ихуащ, я нэхъыбэр адыгэу зэрызабжыж къудейм зэрилIыкIынур ищIэу. КъищынэмыщIауэ Евдокимовымрэ Барятинскэр дзэм хэкIыжа нэужь Къэфкъазым и тепщэ ящIа пащтыхь'къуэш Михаилрэ икIэщIыпIэкIэ къэзакъ къуажэхэр яухуэну унафэ къащтащ, адыгэхэм здагъэзэжын щIыпIэ къахуэмынэн, щIымахуэ уаер къеухмэ, тенджыз Iуфэм кIуапIи жапIи ямыIэу къыIунэн хуэдэу. Лъэужь мыгъуэр къигъанэу, щхьэрыуауэ къижыхьыныр Евдокимовым бжьыхьэр икIыху зэпигъэуакъым. ЩакIуэгъуэм и пэм адыгэхэм урысхэр зэхэуэм хэзышэфын зэуэлI гуп зрагъэпэщащ. Абы и щхьэусыгъуэхэм язт убыххэр абхъаз лъэпкъ джигетхэм зэрадамэгъур. Езы убыххэм я Iуэхур гузэвэгъуэ щхьэхуэт. Сочи пэмыжыжьэу иращIыхьа «Навагинскэ» быдапIэмрэ «Форт Святого Духа»мрэ ахэр 1840 гъэм къыщытеуам, урысхэм а лъэпкъыр щыпсэур иджыри нэсу ящIэтэкъым. Абы лъандэрэ убыххэр урысхэм я бий кIэуфIыцI хъуат. Шапсыгъхэр, убыххэр, джигетхэр къатеуэну загъэхьэзыру Евдокимовым хъыбар кърагъэщIати, щакIуэгъуэм и пэм урысыдзэр убыххэр зэрыс тенджыз Iуфэм ирикIуащ. ЗауэзэрылIыр зыхуэзар щакIуэгъуэм и 9-мрэ и 10-мрэщ. Убыххэм шэ къащыхуэмынэжым, щIэмыпхъуэжыфахэр урысхэм мыжурэкIэ яукIыжащ, абдеж зэхэуэр щиухащ. Иджыри тIэу нэхъ зэхэуэ ину щакIуэгъуэм и 19-мрэ дыгъэгъазэм и 10-мрэ зэбгъэрыкIуэри зэзэуахэщ. ИкIэм урысхэм «цIыхухъууи цIыхубзуи» нэрыбгэ хыщIрэ плIырэ, Iэщыщхьэу хыщI ядэщIыгъуу къаIэрыхьащ. Абыхэм яIэщIэкIын папщIэ бгым зыщызыгъэпщкIуахэр хуэмурэ дунейм ехыжахэщ. Фонвиль Александр франджы тIасхъэщIэхым етхыж: Урысхэм къаIэщIэкIа абазэхэ гуп зыбжанэм дарихьэлIащ дзэм щыщу. А тхьэмыщкIэхэр къулейсызыгъэ дыдэм хуэкIуат: щыгъын пытхъахуэхэр ешэкIахэу, я мэл гуартэ тIэкIуу зыхэшхыкI закъуэр япэ иту яхуу, цIыхухъухэри, бзылъхугъэхэри, сабийхэри щыму зыр зым иужьым иту блэкIхэрт, шы уэдыкъуахэмрэ абыхэм ятелъу къахуэна хьэпшып зыбжанэ къыздащтэфамрэ къабгъурыту… АпхуэдизкIэ гъаблэ гуащIэ екIуэкIырти, дзэкъэгъуэ зымыгъуэт а тхьэмыщкIэхэм жыг тхьэмпэхэр яшхырт. Апхуэдэ къулейсызыгъэ егъэлеям хуабэузыр къыхэкIри куэд дыдэ ихьащ. Гъаблэр ткIиищэт. Факъырэ бжыгъэшхуэ абы илIыкIащ, зы Iэмали диIэтэкъым бгырысхэм зыгуэркIэ дадэIэпыкъуну, дэ езыр щытыкIэ гугъум дитт, дызыхуэныкъуэр мымащIэу. ДызыщIэсыни, дызэдзэкъэни димыIэу мэзым е къурш лъапэм деж дыкъыщыувыIауэ дунейм къыщыхъу псори къыттепсыхэрт. Къуажэ щхьэхуэхэм дыдыхьэфынут, ауэ хуабэузым диубыдынкIэ дышынэрти абы зыщытхъумэрт. Къуажэ гуэрым дыдэтыху ЦIыхуий хуабэузым илIыкIауэ щытащ. Урыс унафэщIхэм фIыуэ ящIэрт Евдокимовым и дзэ зекIуэм къаIэрыхьэмэ, бгым ихьэжахэм я махуэ мыгъуэр къызэрысынур. Докладхэм язым зэритмыкIэ «Адыгэхэр апхуэдизкIэ я хэкум быдэу гукIэ епхащи, шхын щхьэкIэ зыщIэлIыхьыну зыщIаукIыхьыну бгъуэнщагъ кIыфIхэм зыщагъэпщкIу». Зэи къэтщIэнукъым къуакIэ-бгыкIэхэм щыкIуэдахэм я бжыгъэр, ауэ шэч хэлъкъым абыхэм я нэхъыбэр бзылъхугъэу, сабийуэ, е зи ныбжь хэкIуатахэу зэрыщытам.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "ricmond.txt" }
*** КIыфI лъащIэншэм сыхалъху, нэхум сыхалъхуэ. Нэху солъагъури сощтэ, Согъ… Аурэ нэхум щыпсэуыкIэ къызощIэ. КIыфI слъагъумэ сыщтэ сохъу. Къысхуохуэ, кIыфI лъащIэншэм хэхьэж сифI щезгъажьэж, гъуэгу махуэкIэ. СакIэлъогъ… Псэуныр къызощIэ зищIысыр. Укъалъхуныр гъащIэ'ухым и пэублэу зэрыщытыр, А тIум якур лIэныгъэм фIэдудыгъуа пIалъэуэ. Сыгъэр къызощIэ зищIысыр, Сыдынэсыну сыхуожьэ абы. Сыгъэм узэрыдынэмысыр, абы зэрызыдебгъэкIур Сыхунэсурэ къызощIэ. ЦIыхур къызощIэ зищIысыр. ИтIанэ цIыхухэм фIырэ Iейрэ зэрахэтыр. ИтIанэ цIыхум фIырэ ерэ зэрыхэлъыр. ФIылъагъур къызощIэ зищIысыр. ИтIанэ дзыхьыр. ИтIанэ нэхъ жыжьэ узэрынихьэсыр, фIылъагъум нэхърэ дзыхьым. ИтIанэ фIылъагъур дзыхьым и лъабжьэ быдэм зэрытещIыхьар. ЦIыхум и пкъыр къызощIэ зищIысыр. ИтIанэ пкъым и щIэм псэ зэрыщIэлъыр. ИтIанэи, пэжым ухуеймэ, псэр пкъым ищIыIум зэрытелъыр. Ди къедзар къызощIэ зищIысыр. ИтIанэ ди къедзар гъэнэхуным и амалхэр къызощIэ. Иужьым, ди къедзар гъэнэхун папщIэ Iэгъуэблагъэр гъэнэхун зэрыхуейр къызощIэ. Хьэлыур къызощIэ зищIысыр. ИтIанэ зэфIыныгъэм папщIэ, хьэлыур куэдын зэрыхуейр. ИтIанэ, хьэлыур хейуэ угуэшыныр, Куэдыным хуэдабзэу зэрыIуэхур къызощIэ. Джыныр къызощIэ зищIысыр. ИтIанэ тхыныр сищхьэ изогъэщIэж. ТIэкIу мащIэри тхыгъэм сэ езыр зызегъэщIэж. IукIыныр къызощIэ зищIысыр. ИтIанэ зумышыIэфу къэгъэзэжыныр. Абы иужьым, ухуэмейурэ уIукIыныр къызощIэ зищIысыр. Уизакъуэу Дунейм пэщIэувыныр къызощIэ зищIысыр сыщIалэдыдэу. ИтIанэ бэм уадызекIуэн гупщысэм сыхуокIуэ. ИтIанэ бэм хуэгъэзауэ узекIуэн хуейуэ, зекIуэн хъужыр мис арауэ согъэув. Гупсысэр къызощIэ зищIысыр. ИтIанэ хъийм иту гупщысэныр къызощIэ. ИтIанэ гупсысэ узыншэр, хъийр хэмыту угупсысэнрауэ къызощIэ. ИтIанэ хъумапхъэ уиIэныр зэрыIуэхушхуэр къыщызощIэ унэм. Зыбгъэдэмылъым фIэIуэхуну хъумапхъэ иIэну уигугъэныр, хъумапхъэр зищIысыр умыщIэныгъэу. Хъумапхъэ уиIэн жыхуаIэж дыдэр езыр, къуаншэн уиамалрэ пэт умыкъуаншэфынырауэ. Пэжыр зэзгъэщIащ зищIысыр. Арати зэгуэрым, пэжыр зэрыгуащIэри… ИтIанэ, хуэфащэ хуэдиз гуащIагъым, шхыным хуэдабзэу, гъащIэми IэфI зэрыщIилъхьэр. Псэ зыIут псоми лIэныгъэр яIурыхьэну; Ауэ псэун зыIурыхьэнур языныкъуэхэрауэ зэрыщытыр къэсщIащ. Сэ сифIхэр сигучIэкъым икIий си зэгъэзахуэчIэкъым зэрызифIыр. Дэнэ щыпщIэн, гур къоувыIэ, зэгъэзахуэм IэпохуIа. Сэ сифIхэр СИПСЭМЧIЭЩ фIыуэ зэрыслъагъур. Ар къэмувыIэ ичIий щымыгъупщэ… ЗэхэпщIыпщIэ[1] УощIэххэри мы щыIагъэм - Уэ зыращ сэ фIыу щыслъагъур Уэ ущызимыгъусэм сэ - Уи гуауэчIэ солIэжырей СыуифIэгъу уэмыпцIыжынщ сэ - Уэрщи сэ лей къызохырей Уэ езыр укъысхумейми - Сэ езы уэр фIэчI сыхумей А уи нэгу мазэ’теплъэр - Арай сэ си гурыфIыгъуэр А уиIупэ фо IупщIэхэм - «ЛIыкIуэ» яхуэсщIыну сыхуей Уэ аслъэн бащхъуэмэ нэхъей - Си лъы тIэкIур сщIогъэткIучI Сэ фи къуажэхьэхэм ещхьу - Уиужь ситу узоухъурей Сытым дежи жоIэ губжьау - IучIыт сидеж ущымытыт Сэ къызгурымыIуэ нэIуу - Гъунэгъу зынызощI, сымыхъей Зэгуэр силъэIут сыщысыну - Закъуэу уэ сыныббгъэдэсу Уэри махъсымэ уефэнти - Сэ пхъэ’пшынэ сеуэнти уей Си мазэу си Шэмси Тэбриз - Къуэхьэу кIуэдыжау жаIэ НэмыщIым зыми жумыIэ - Сэ соIуатэ, солъыхъу, согъей. ЗэзыдзэкIар Гуащокъуэ Абдулщ
{ "source": "adygabza.ru", "id": "rumi.txt" }
ЗэзыдзэкIар Уэрэзей Афликщ *** Дахагъэм уардэ щIэхъукIыжу, Къыхощыр Iуащхьэмахуэ пшагъуэм. Мэкъугъыр жьыбгъэр зиукIыжу, Къыр щыгум уафэр къыщогъуагъуэ. Бгы лъабжьэм пшэр щызэрызохуэ, Мэушэ псынэр, псыр мэгъуахъуэ: А псори зыуи къыщымыхъуу, Щытщ тхьэIухуду Iуащхьэмахуэ. ЕIэтри и щхьэр нэхъри лъагэу, Доплъей уафэгум зигъэпагэу.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "ryleev.txt" }
Саади и «Гюлистаным» щыщу таурыхъ зыбжанэ ЗэзыдзэкIар ХьэтIохъущокъуэ Къазийщ Тифлис, I864 гъэ Япэ псалъэ Таурыхъыр е уазыфIыр уэрэд хуэдэ дахэу зэгъэпэща псалъэкIэ зытх цIыху щыIэхэщ, абы хуэдэхэм ящыщу Саади нэхърэ нэхъыфIу ялъагъу муслъымэн къэралхэм щыIэкъым. Мы и «Гюлистаныр» (пэрымэфI зиIэ удз дахэ куэд къыщыкI губгъуэм «ГюлистанкIэ» йоджэ) жылэм наIуэ ящыхъуащ; абы щыщ таурыхъ зыбжанэ азбаргуэ зымыщIэ къэхъункъым. Илъэс 580 Саади ШиразкIэ зэджэ щыхьэрым щалъхуащ. Еджэным гупсэхуу хэгъуэзэхункIэ Саади езыр щалъхуа жылэм щеджащ, итIанэ хъалифри дэтхэнэ зы еджагъэфIри щыщыIэу щыта Багъдад кIуэри алымыфIхэр нэIуасэ ищIри, дерс къаIихыурэ еджагъэшхуэ хъуху еджащ. Илъэсищэ нэхъыбэ игъэщIащ Саади; илъэс тIощIрэ пщIырэ еджэ зэпытурэ ихьащ, илъэс тIощIрэ пщIырэ къэралхэр плъакIуэу къикIухьащ, иужьрей илъэсхэр нэмэз ищIурэ, тобэ къихьыжурэ, Тхьэм хуэгъэза Iуэхухэм щIэгупсысурэ ихьащ. ПщыкIуплIрэ хьэж ищIащ, нэхъыбэм дэрбыщхэм[4] ящIыгъуурэ лъэсу кIуэурэ. Ауэрэ илъэс хыщI къикIухьа нэужь, щалъхуа жылэм къахыхьэжри, нэхъ зэгъуэкI зы дэрбыщ унэ щIэтIысхьэри, нэмэз ищIурэ динми хуэгъэза Iуэхухэм щIэгупсысу, и чытапыфIхэр итхыурэ, нэхъыбэм къыщIэмыкIыу, лIэжыху абы щIэсащ. Пащтыхьхэр, зылъэкIхэр, алымыфIхэр и унэ кIэлъыкIуэхэрт ялъагъуну, ечэнджэщыну; апщIондизкIэ ялъытэрт. ЛIа нэужь, и гъащIэ псом зэралъытам и нэщэнэу чэщанэ хузэтралъхьащ, щалъхуа къуажэм пэмыжыжьэу зы Iуащхьэшхуэ деж. А чэщанэм зы дэрбыщ щIэсщ, къакIуэ цIыхухэм Саади итха чытапхэр яригъэлъагъуу. НэгъуэщI алымыфIхэми я кхъэ щыIэщ абы дежым, езыхэм Саади и чэщанэм и гъунэгъуу щIэлъын зэрафIэфIым папщIэ щIалъхьауэ. I Зы пащтыхьым къуэ зыбжанэ иIэт; языхэз зыр цIыкIут, бжьыгуэт, адрей и къуэхэр куэду инрэ бжьыфIэхэу щытахэщ. Зы махуэ пащтыхьыр и къуэ бжьыгуэм щIэнакIэ хъуащ. «Е си адэ, - жиIащ абы щыгъуэм и къуэм, - лIыр инрэ делэ нэхърэ – цIыкIурэ губзыгъэм нэхъыфIщ. Зи инагъым хуэфэщэну фIыгъуэ зыхэмылъ Iэджи плъагъунщ: мэлыр цIыкIу щхьэ къабзэщ (хьэлэлщ); пылыр ин щхьэ цIапIэщ (хьэрэмщ). Тор – Iуащхьэр псом я нэхъ цIыкIущ, ауэ Тхьэм и дежкIэ Iуащхьэ псом я нэхъыфIщ, фIыгъуэу пылъхэм папщIэ. «Зы хуарэр уэдми, зы шыд гуартэ нэхърэ нэхъ къэсщтэнщ», - жиIэу зы алым уэд зы делэ пшэр зэрыжриIар зэхэпхакъэ? Мы псалъэхэр и адэм куэду игу еIури дэхьэшхащ, бгъэдэта уэркъхэри щIалэм куэду къыщытхъуахэщ, арщхьэкIэ мы псалъэхэр и дэлъхухэм куэдыщэу гуауэ ящыхъуащ. ЦIыхум и фIыгъэр, и бзаджагъэр, Мыпсэлъагъэмэ, пкIэпыфырэп. Дэтхэнэ зы мэзми щIэмысIакIэ Умыгугъэ, - аслъэн зыщIэс мэзи бгъуэтынщ! Мыбы нэужькIэ куэдыщэ мыщIэу пащтыхьым и жылэм дзэшхуэ къекIуэлIауэ жаIэ. Пащтыхьым и дзэмрэ и биймрэ зэзэуэну щызэпэувым, псом япэ къэсар пащтыхьым и къуэ бжьыгуэщ. «Зауэм щыгъуэ сэ си щIыб къэзгъэзэнкъым, лъыпсаер щагъажэ щIыпIэм псом япэ щалъагъунур сэрщ. Зауэр зэхэзыублэр и лъым ироджэгуж, ар и псэм щысхьыжыркъым; зауэм щыгъуэ къащтэр дзэ псом ялъ иреуджэгу», - жиIэри, зауэкум хэхьэри хьэлэчыр яхилъхьащ, лIы пщхьэпэн куэд иукIащ. И адэм и деж къэкIуэжри, курмыщ ищIри, мэуэ жиIащ: «Сэ щIэнэкIалъэ къысхэзыхыу щыта, иджы нэужь гъумыгъэр, иныгъэр лIыфIыгъэу умылъытэ! Шы уэдыр вы пшэрым нэхърэ зауэм нэхъ къыпщхьэпэнщ!» Бийм и дзэр мардэншэу куэду, пащтыхьым и дзэр мащIэу жаIэ. Дзэ мащIэ тIэкIуми и ныкъуэр къэщтащ. «Маржэ хъужынхэ! Фыз щыгъын къызэрытщамытIэгъэн Iэмал зедывгъэхьэ», - жиIэу пащтыхьым и къуэ бжьыгуэр щакIэлъыджэм, дзэ щтам къагъэзэжащ. Абы щыгъуэм пащтыхьым и дзэм мащIэ щхьэ зэуэ зызэдащтэри, бийм и дзэм хьэлэчыр халъхьэри, ирахужьэжащ. Пащтыхьым и къуэм къыщигъэзэжым IэплIэ иришэкIри, и нэми и щхьэми ебэуащ. Мыбы нэужьым пащтыхьыр и къуэм махуэ къэс нэхъ нэщхъыфIэ къыхуэхъуурэ, икIэм езыр щылIэкIэ и къуэ бжьыгуэм пащтыхьыгъуэр иратыну ухыгъэ ищIащ. И къуэшхэр къефыгъуэ зэпытти, и шхыным гын халъхьащ. Ар и шыпхъум щхьэгъубжэмкIэ къыдэплъу илъагъури, и дэлъхум и Iэр шхыным щыхуихьым, щхьэгъубжэр хуабжьу хуищIыжащ. Пащтыхьым и къуэ бжьыгуэм ар зэрилъагъуу, шхыным зыгуэр зэрыхэлъыр зэхищIыкIри еIусакъым: «лIыфIхэр лIэуэ, хуэмыхур абы и пIэ къинэнкIэ хъункъым», - жиIэри. Пащтыхьым и къуэхэм ялэжьам и хъыбар щыжраIэм, къаригъашэхэри щхьэж зэрыхуэфащэкIэ икъуащ. ИтIанэ и къэралыр и къуэхэм зэхуэдэу яхуигуэшащ, иужькIи иджырэ хуэдэ зэныкъуэкъу мыхъункIэ щхьэкIэ. Дунейр зэрыщытыр аращ: зы алэрыбгъум дэрбыщипщI хуиту щыжеинщ, - зы къэралышхуэ псор пащтыхьитIым яфIэмащIэ хъунщи зэныкъуэкъунщ. II Хьэрып абрэдж зыбжанэ зы къуейщIей къыдэтIысхьахэщ. Чэруанхэри а щIыналъэмкIэ зэрышынагъуэм щхьэкIэ земыкIуэж хъуащ; къуажэ гъунэгъухэри абрэджхэм папщIэ я псэми я былымми тешыныхь зэпытти, дзэ ягъакIуэ щхьэкIэ, абрэджхэр къыдахуну къуейщIей бзаджэхэм емызэгъыу къагъэзэжырт. ЩIыналъэм и унафэщIхэр зэчэнджэщахэщ абрэджхэр я увыпIэм къызэрыдахужын IэмалымкIэ, иджы нэмыплъ яттрэ къэдгъэнахэм, иужькIэ нэхъри лъэщу загъэбыдэнхэщи дапэлъэщыжынхэкъым, жаIэри. Жыг хасагъащIэр зы лIым и закъуи Тынш дыдэу къыхичыжынщ; Арщхьа зыбжанэр бгъэкIам, вы тIощI Я къару епхьэлIами, и лъабжьэр ДэкIуэу къыхэпчыжыфынкъым. Псыр щIым къыщыщIэкIым деж ХьэнцэкIи бгъэувыIэнщ, арщхьэкIэ Зыбжанэрэ жа нэужь, ин щыхъукIэ Пылым утесми узэпрыкIыжыфынкъым. ПлъакIуэ зыгуэр ягъакIуэу абрэджхэр нэхъ бэлэрыгъ щыхъу зы зэман гуэр пэплъэну абы траубыдащ унафэщIхэм. Зы махуэ абрэдж псори хъунщIэ къащIыну кIуахэщ, я увыIэпIэхэм кIэлъыплъын зыри къамыгъанэу. Абы щыгъуэм унафэщIхэм лIы пщхьэпэн зыбжанэ кIуэхэри быдапIэхэм зыщагъэпщкIуахэщ. Пщыхьэщхьэм абрэджхэм хъунщIэ куэду къащIри, ешахэу къагъэзэжащ. Жэщ зэрыхъуу, абрэджхэри зэрыжейуэ лIы къуэгъэнапIэм къуэтахэм абрэджхэм зрадзри, зырызу зэкIуэцIакъузащ. Пщэдджыжьым пащтыхьым и пащхьэ къыщыпэрашэхэм псори яукIынхэу унафэ ищIащ. А абрэджхэм зы щIалэ яхэтащ и цыкъуэфакъуэ къэмыхъеягъэххэу. Пащтыхьым и вызырхэм ящыщ зыр тахътэ лъабжьэм ебэури, пащтыхьым курмыщ хуищIри, елъэIуащ, мы щIалэр иумыгъэукI, жиIэри; «Мы щIалэм дунейм и фIыгъуэ и бзаджагъэхэм гу лъитакъым, щIалэгъуэм и тхъэгъуэхэри илъэгъуакIэкъым: сыуихьащIэщ, я пащтыхь, уи нэфI къысщыхуэм, мы щIалэр иумыгъэукI, къысхуэблэжьыну псор зэкIэ къысхуэблэжьауэ слъытэнщ»,-жиIэри и фIэщу лъэIуащ вызырыр. Пащтыхьым мы IуэхумкIэ и гугъэхэр нэгъуэщIти, вызырми и псалъэхэр игу еIуакъым. И нэщхъ зэхиуфэри, мыр жриIащ вызырым: «Гу бзаджэ зиIэм Iэминым И фIыгъэхэр зэхищIыкIынкъым; Бзаджэ щIэнми къыщIэтэджар ЩIэрыщIэу згъэсэжынщ»,-жызыIэр – Дэр джэдыкIэ хъурейм тезгъэувэнщ, ЖызыIэм хуэдэщ. Абы нэхърэ бзаджагъэр къыщыхъу дыдэм деж зэпыбгъэуныр нэхъыфIщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, мафIэр щыбгъэункIыфIкIэ, пхъэдзакIэхэр сыуэ къэбгъэнэныр е блэр щыбукIкIэ блэ шырхэр къэбгъэнэныр – тIури губзыгъагъэм щыщкъым. Уэшхыр мыувыIэу Къежэх зэпытми, дзэлым Пхъэщхьэмыщхьэ къыпыкIэнкъым. Зигу бзаджэ цIыхум зумыгъэлIалIэ, Къамылым фошыгъу Къыхэпхыфынкым. Вызырыр пащтыхьым и акъылым куэду щытхъуащ, жиIа псори захуэщ, пэжщ,-жиIэри. «Мы щIалэр цIыкIуу абрэджхэм я деж къыщыхъуатэмэ, абы я щэнхэр зыхилъхьэнт, езыри абы яхуэдэ хъунт; арщхьэкIэ мыр иджыри щIалэ дыдэщ, и гур увыIа щIыкIэкъым, цIыхуфIхэм зыбжанэрэ яхэсрэ якIэлъыплъмэ, Тхьэм жиIэм, я щэнхэри зыхилъхьэнкIэ согугъэ»,-жиIащ вызырым. Пащтыхьым и чэнджэщэгъу зыбжани вызырми щыдэлъаIуэм, пащтыхьым щIалэр яригъэутIыпщащ, хуэзгъэгъуныр зэрымыгубзыгъагъэр сщIэуэ хузогъэгъу,-жиIэри. ЗалкIэ еджэу, зы пасэрей лIыфI И къуэу Рустамым жриIар ПщIэрэ? «Уи бийр сыт хуэдизкIэ Къарууншэми – ущымысхь, тхьэмыщкIэми, нэмыплъ иумыт. Псыр цIыкIуу щIым къыщIэкI Щхьэ, ин щыхъукIэ махъшэм И хьэлъэри щIыгъуу етхьэлэ. Вызырым щIалэр игъатхъэу, зыхущыщIэ щымыIэу ипIащ; зы Iустаз хуищIри IэдэбыфIкIэ, пащтыхьым и бжэIум щызекIуэ хабзэхэмкIэ игъэсащ. Зылъагъу псор къыщытхъухэрт щIалэм. Зы махуэ пащтыхьым и пащхьэ вызырыр и къаным щытхъуу хуежьащ, зэрызгъэсар пщIэншэу кIуэдакъым: и щэныншагъэхэр зыхихащ, цIыхуфIхэм я щэнхэр къыздищтащ, жиIэу. Пащтыхьым, дэхьэшхри, мыр жиIащ: «Дыгъужь шырыр куэдрэ цIыхухэм япIами, икIэм дыгъужь хъужынщ». Илъэс зытIущ дэкIа нэужь, щIалэм езым и къуажэм щыщу бзаджэнаджэ зыбжанэ пэшэгъу ищIащ. ИужькIэ Iэмал зэригъуэтыххэу вызырыр, и къуитIыр щIыгъуу бзаджэ ищIэу хыхьэжащ. Пащтыхьым мыр щызэхихым, и щхьэ игъэкIэрахъуэри, мыр жиIащ: ГъущI пщхьэмыпэм сэшхуэфI Дауэ къыхэпхын? Зигу цIапIэ ЦIыхур сыт хуэдизкIэ бгъэсами, Зи хъужынкъым, бзаджэм фIы ХуэпщIэм, фIым зы бзаджагъэ Гуэр епщIа хуэдэщ. III Зымахуэ зы къызылбаш пащтыхьым и бжэIупэ лIыщхьэхэм ящыщ зым и къуэ Iутт. Нэхъ акъылыфIэрэ нэхъ зэхэщIыкI зиIэрэ къэхъунтэкъым. ЗэрыщIалэри Тхьэм и натIэ зы фIы гуэр къызэрыритхар гъуащэртэкъым. И напщIэм зэрыакъылыфIэр Нахуэу къиIуатэрт. Мы щауэр зэрыакъылыфIэм нэхърэ и теплъэр нэхъыфIыжти, пащтыхьым игу еIури, и нэфI къыщыхуащ. Куэд лъандэрэ алымхэм жаIащ, «мылъку куэд зиIэр бэйкъым, фIыгъэ куэд зыхэлъырщ; щIыхь зыхуащIыр ныбжь куэд зиIэркъым, акъыл куэд зиIэрщ», жаIэу. Мы щауэм и ныбжьэгъухэр къефыгъуэу хуежьэри «пащтыхьым дзыхь къыхуищIа щхьэкIэ, ещэжащ, жаIэу зэралъэкIкIэ яуба щхьэкIэ, зы зэрани иращIэфакъым. Ди благъэ дзыхь къытхуэзыщIыр ди бийхэм тхуауб пэтми тфIэкIуэдыфынкъым. ФIыуэ тлъагъу цIыху сыт илъэжьми ар фIы дыдэщ жыдоIэ. Зэ пащтыхьыр къеупщIащ щауэм: «Сыт щхьэкIэ мыпщIэндизкIэ уражагъуэ мыбыхэм?» - жиIэри. «Си бий псори былымрэ увыIэпIэфIрэкIэ, уэ къызэпта къарум къыхэкIкIэ (Тхьэм уи пащтыхьыгъуэ кIыхь ищI) арэзы сщIыхэри згъэувыIахэщ. Мы къызэфыгъуэхэр си насыпыр зэпыуам увыIэнухэщ, ар мыхъум сыт яхуэсщIэми схуэгъэувыIэнукъым, арщхьэкIэ, сэри абыхэм сыщышынэнкъым, Тхьэм уи пащтыхьыгъуэр кIыхь ищI закъуэ»,-жиIащ щауэм. Зыми игу хэзмыгъэщIынкIэ СлъэкIынущ, арщхьэ фыгъуэрейм Езым и щхьэ щызэгуигъэпыжкIэ Сэ сыт хуэзлэжьын? ЛIэ, фыгъуэрей тхьэмыщкIэ! Сыт щхьэкIэ жыпIэм, фыгъуэнри уз бзаджэм хуэдэщ, Абы и гугъехьым умылIэжу ухэкIынукъым. Насыпыншэр насып зиIэм йофыгъуэри, Тхьэм насыпыншэ ищIащэрэт жеIэри мэлъаIуэ. Дзыгъуэнэфыр махуэкIэ мыплъэфым, Дыгъэм ягъэ щхьэ хъурэ? Пэжыр жытIэну, мыбы хуэдэ куэд нэф ирехъу, Дыгъэм ягъэ щхьэ хъурэ? Пэжыр жытIэну, мыбы хуэдэ куэд нэф ирехъу, Дыгъэм и нурыр кIуэдын нэхърэ. Зы пащтыхь кхъуафэм итIысхьащ, тенджызым тIэкIу къыщикIухьу и нэгу зригъэужьыну. Къызылбаш лъэпкъыу зы пщафIи щIыгъут, и гъащIэкIэ тенджызыр имылъэгъуауэ. Кхъуафэр тенджызым зэрытехьэу щтэри, гъыуэ, зиукIыжу хуежьащ. ЕлъэIухэ, еущиехэ щхьэкIэ яхуэгъэувыIэртэкъыми, пащтыхьыр зэгуэп щыхъум алым ящIыгъум: «Сэ хуит сыпщIым, пащтыхь, иджыпсту згъэувыIэнщ мыр»,-жиIащ. «Табу бжесIэнщ, ар къысхуэблэжьым»,-жиIащ пащтыхьым. Абы щыгъуэм алымым пщафIэр тенджызым хригъэдзащ. Псым зыбжанэрэ щIилъэфа нэужь, я щхьэцыр яубыдауэ кхъуафэм къызэрыралъэфалIэу, гужьеяуэ кхъуафэм зыдридзейри къитIысхьэжащ; иужькIэ къагъэзэжыхукIэ зы псалъи жимыIэу, тыншу кхъуафэм исащ. Ар пащтыхьым игъэщIагъуэри, мэуэ щхьэ щIэх зихъуэжа, жиIэри щIэупщIащ: «Я пащтыхь, мыбы нэхъ ипэкIэ кхъуафэр зыхуэсэбэпыр ищIэртэкъым, тенджызыр игъащIэкIэ илъэгъуатэкъыми; иджы цIыхур псым итхьэлэнкIэ зэрыхъур езым и щхьэм зэрырилъагъулIэрэ кхъуафэр зыхуэсэбэпыр ищIащ»,-жиIащ алымым. Тыншу ущысыныр зэрытхъэгъуэр гугъуехь зылъэгъуам ещIэр. Уэ зи ныбэ из! Чыржыныр уэ зэппэсыркъым, арщхьэ уэ зумыпэсыр сэ хъарзынэ сфIощI. Хъур хъыджэбзхэм агърэф (агърэфыр, жыхьэнмэмрэ жэнэтымрэ яку увыIэпIэ щхьэхуэу дэтщ) жыхьэнмэу ялъытэ; жыхьэнмэми исхэм уеупщIам: агърэфыр жэнэтщ, къыбжаIэнщ. Зи благъэм IэплIэ езышэкIыу щытымрэ мы Унэм зы благъэ гуэр щызгъуэтын, ЖиIэу бжэм еплъу щытымрэ Зэхуэдэкъым. Зымахуэ Дамаск мэжджытым зы дэрбыщ нэмэз ищIри Тхьэм елъэIурэ пэт, зи къуаншагъэмкIэ цIэрыIуэ хъуа Бенитемимым я лъэпкъыу зы хьэрып пащтыхь къыщIэхьащ. Дыуэ ищIри, Тхьэм и дэIэпыкъуныгъэм щIэлъэIуащ. ТхьэмыщкIэри бейри Тхьэм зэхуэдэу и пщылIщ. Бейр икIи Тхьэм и дэIэпыкъуныгъэм нэхъыбэрэ хуей мэхъу. ИужькIэ а пащтыхьым дэрбыщым зыкъыхуигъазэри, моуэ жиIащ: «Дэрбыщхэр псоми наIуэ ящыхъуащ я IэминыгъэкIэ, захуэу Тхьэм и гъуэгум зэрырилажьэмкIэ; Тхьэми фIыуэ илъэгъуа цIыхухэм ящыщу,-жаIэр,-сылъэIуакIуэщ, дэIэпыкъуэгъу укъысхуэхъункIэ, зы бий лъэщ сиIэщи, абы и зэран къызэрызэмыкIынкIэ сыбгъэIущынкIэ». ЗылъэкIым и зэран къомыкIын пфIэщIым, зылъэмыкIым сэбэп хуэхъу, гущIэгъу хуэщI, къыжриIащ дэрбыщым. Iэ лъэщкIэ Iэ къарууншэр зыпIытIым лейщ илэжьыр. Шынэ, тхьэмыщкIэхэм гущIэгъу яхуэзымыщIу хъугъэ! Зэ уджалэм, зыри сэбэп къыпхуэхъужынкъым. Бзаджэ зылэжь зэпытурэ къэзыкIухьыр фIы IущIэжынкIэ гугъэм, Абы нэхъ гугъэ делэ зиIэ щыIэкъым. Iуэхум быдэу хэплъи захуэр лэжь; умылэжьам, ахърэт махуэр щыIэщ. ЦIыху псори зы лIэужьыгъуэм щыщхэщ; Языхэз зы Iэпкълъэпкъыр узми, адрейхэри тыншынкъым. ЦIыхухэм я тхьэмыщкIэгъуэм гу лъызымытэ, цIыхуцIэ уиIэн пхуэфащэкъым. VI Зы пащтыхь ефэ-ешхэ ищIри, нэху щыху гушыIа нэужь, чэф иIэу мыр жиIащ: «Си гъащIэ псом мы зы сыхьэтым нэхъ тхъэгъуэ сыIущIакъым; зы Iуэхуи сыщIэмыгупсысу, зыми сигу щIэмыгъуу иджы нэхъ сытыншакъым». ЩIыбым дэлъа зы дэрбыщ пцIанэ пащтыхьым и псалъэхэр щызэхихым, моуэ жиIащ: «Уэ, зи насыпым хуэдэ щымыIэ! Зы гузэвэгъуи зэрыуимыIэр си фIэщ мэхъур; сэри уэ пхуэдэу зы гузэвэгъуи сиIэкъым». Мы псалъэхэр пащтыхьым игу еIащ. ЩхьэгъубжэмкIэ жалдуз дыщэ мин илъу и бохъшэр дишиикIри, уи цеикIэр къаубыд, жиIащ пащтыхьым. «Щыгъын и лъэпкъ сщыгъыххэкъым, сытым и кIэ къэзубыдын»,- жиIащ дэрбыщым. МопщIэндизкIэ зэрытхьэмыщкIэр щилъагъум, нэхъыбэххэу гущIэгъу хуищIри, дыщэ миным щыгъын щIигъужри хуригъэхьащ. Куэдыщэ мыщIэу дэрбыщым и ахъшэр иухри, аргуэру къигъэзэжащ. Дунейм и тхъэгъуэхэм димыхьэха ЦIыхум ахъшэ ихъумэфыркъым; Ащыкъ хъуа цIыхум тыншыгъуэ Игъуэтыжыркъым; кхъузанэ псы Иубыдыфыркъым. Пащтыхьыр зы Iуэхушхуэ хэтрэ пэт, дэрбыщыр къызэрыкIуар жраIэри, куэдыщэу ягъэгубжьащ. Пащтыхьхэм къэрал псом я Iуэху я пщэ дэлъщ; дэтхэнэ зы цIыхуми и Iуэху мащIэм едэIуэным хущIыхьэххэркъым; куэд зылъэгъуа цIыху губзыгъэхэми, пащтыхьым упэрыхьэнум и къулеигъуэ улъыхъуэн хуещ, щIыжаIар аращ. Пащтыхьым и ней къыщыхуэ, Нэхъ къулеипIэ сыхьэтым пэмыплъэу Гузавэм. ЖыпIэнкIэ зи чэзу мыхъуа, ПхымыкIыну псалъэр жыпIэу уи Напэ зытумыхыж. - Ефхужьэ, мы укIытэ зимыIэ алаушыныжьыр, ар мыделэтэмэ, апхуэдиз ахъшэр щIэх дыдэу игъэкIуэдынт? Абы делэхэм пщIэншэкIэ ягъэкIуэдын папщIэ щыIэкIэ и гугъэ пащтыхьым и хъарзынэр. Ар тхьэмыщкIэхэм сэбэп яхуэхъуну зэрыщыIэр щхьэ имыIэрэ? – жиIащ пащтыхьым. Махуэм уэздыгъэ зыгъэс Делэм, жэщым зэрыгъуэлъыжын Уэздыгъэ имыгъуэтыж хъунщ. Абы щыгъуэ зы вызыр цIыхуфI мыр жиIащ: «Пащтыхь, мыбы хуэдэ цIыхухэм ахъшэр есэпыншэу ямыгъэкIуэдын пфIэфIым, мащIэ-мащIэурэ ептын хуейуэ согугъэ. Ирахужьэжыну унафэ зэрыпщIари къулей хуэдэ сфIэщIыркъым: уэ пхуэдэ цIыху зылъэкIхэм ар яхуэфащэкъым. Зыгуэрым зы фIы хуэпщIа нэужь, зэкIэ и гугъэр хебгъэхыжыныр губзыгъагъэкъым. ЛъэIуакIуэ къыпхуэкIуэм уи Бжэ хуIумых, зэIупха нэужь гущIэгъуншэ ухуэмыхъу. ХъаджазкIэ зэджэ щIыналэм щыгъуэгурыкIуэхэр псы хуэлIэм, псы шыуам деж кIуэхэркъым; псы къабзэм деж цIыхухэри, хъумпIэцIэджхэри зэхуос. Бзум шхын щигъуэтынумкIэ мэлъатэ, щимыгъуэтынумкIэ кIуэркъым.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "saadi.txt" }
Алахьыр арэзы зыхуэхъун Iэбу Хьурэйрэ къызэриIуэтэжам тету. ЦIыхухэр щIэупщIащ: «Уа Алахьым и ЛIыкIуэ лъапIэ! Къемэт махуэм ди Тхьэр тлъагъуну?» «Мазэгъуэ жэщым пшэ зетемылъ мазэр зэрыфлъагъунум шэч къытефхьэрэ?» - къажриIащ. «Хьэуэ, Алахьым и ЛIыкIуэ лъапIэ», - жаIащ цIыхухэм. «Пшэ зытемылъ дыгъэр зэрыфлъагъунум шэч къытефхьэрэ?» - щIэупщIащ щэлатымрэ сэламымрэ зэхар. «Хьэуэ», - жаIащ. «Шэч хэмылъу, мис апхуэдэу флъагъунущ Ар!» «ЦIыхухэр зэхуашэсынущ Къемэт махуэм. ИтIанэ Алахь талэм къажриIэнущ: «Щхьэж зыхуэпщылIам и ужь иреувэ!» Абыхэм къахэкIынущ дыгъэм и ужь иувэн, къахIэкынущ мазэм и ужь иувэн, тхьэ нэпцIхэм я ужь иувэни къахэкIынущ. Мы Iуммэтыр, я фэрыщIхэри яхэту, и пIэ къинэнущ. Абыхэм Алахь талэм наIуэ закъыщищIынурэ къажриIэнущ: «Сэращ фи Тхьэр!» Езыхэм: «Дэ ди Тхьэр къэсыху мыр ди увыпIэщ. Ар къызэрыкIуэу къэтцIыхунущ», - жаIэнущ. Алахь талэм аргуэру наIуэ закъыщищIынурэ къажриIэнущ: «Сэращ фи Тхьэр!» Езыхэми жаIэнущ: «Уэращ ди Тхьэр!» ИтIанэ ахэр Езым ириджэнущ. Жэхьэнмэм и лъэныкъуитIым ЩиратIыр тралъхьа нэужь, и Iуммэтыр дэщIыгъуу япэу абы икIыну хуит ящIыну тхьэ’лIыкIуэр сэращ. А махуэм зыри ягъэпсэлъэнукъым Алахьым и лIыкIуэхэм фIэкIа, я псалъэу щытынури мыращ: «Я Аллахь, къегъэл, къегъэл!» Жэхьэнмэм къэрэкъэш гуэрхэр щыIэщ сэхьдан удзым тет банэхэм ещхьу. ЛIыкIуэ лъапIэр щIэупщIащ: «Флъэгъуакъэ сэхьданым тет банэхэр?» «НтIэ», - жаIащ цIыхухэм. «НтIэ, а къэрэкъэшхэр сэхьданым и банэхэм хуэдэнущ, ауэ Алахьым и закъуэщ зыщIэр ахэр инагъкIэ зыхуэдизынур. Ахэр цIыхухэм къепIэстхъынущ, зэхащIыхьахэм елъытауэ. Языныкъуэхэр ящIам текIуэдэжыпэнущ, адрейхэм я пкъым щыщ къыхачынущ, ауэ иужькIэ къелынухэщ. Алахь талэм мафIэм хэхуахэм языхэзым гущIэгъу хуищIыну игу къихьэмэ, мелыIычхэм унафэ яхуищIынущ Алахьым хуэпщылIахэр къахишыну. МелыIычхэми апхуэдэ цIыхухэр сэждэм къатрина лъэужьхэмкIэ къыхацIыхукIыурэ къыхашынухэщ, сыту жыпIэмэ, Алахь лъагэм мафIэм хьэрэм щищIащ тырисыкIыну сэждэ лъэужьхэр. КъыхэкIынущ ахэр мафIэм япкъхэм сэждэм къытрина пIэхэм фIэкIа къахэмынэжауэ. Зэрыщыту илыгъуэнущ мафIэм Iадэм и быныр, сэждэ лъэужьхэм къинэмыщIа. ИтIанэ псы псэхэлъхьэж тракIэурэ, псыежэхым къихь жылэхэр къызэрыхэжым хуэдэу къыдэжыжынухэщ. Алахь лъагэм и пщылIхэм я хейщIэныр иуха нэужь, жэнэтымрэ жэхьэнмэмрэ я зэхуакум зы цIыху къыдэнэнущ, икIи аращ мафIэм хэтахэм ящыщу иужь дыдэу жэнэтым ихьэнур. И нэгур жэхьэнмэм хуэгъэзауэ здэщытым, абы жиIэнущ: «Си Тхьэ, кхъыIэ, си нэгур мафIэм IугъэзыкI, абы и мэм солIыкI, и лыгъэм сес». «Ар къыпхуащIэрэ иджыри нэгъуэщI зыгуэрым ущIэлъэIумэ-щэ?» - еупщIынущ абы Алахь талэр. «Уи лъэщагъымкIэ соIуэ, сыщIэмылъэIункIэ!» - итынущ цIыхум жэуап. Алахь лъапIэм абы и нэгур жэхьэнмэм IуигъэзыкIынущ. Зи нэгур жэнэтымкIэ гъэза хъуа цIыхум ар зэрытелъыджэр къилъэгъуа нэужь, зиущэхунурэ Алахьым зэрыжиIам хуэдизкIэ щыму къэнэнущ. ИтIанэ жиIэнущ: «Уа си Тхьэ, кхъыIэ, жэнэтыбжэм сыхуэгъэкIуатэ!» «Уэ тхьэ пIуатэкъэ, псалъи птатэкъэ афIэкIа зыми ущIэмылъэIужыну?» - къеупщIынущ абы Алахь иныр. «Уа си Тхьэ, къэбгъэщIахэм я нэхъ насыпыншэ сымыхъуащэрэт!» - жиIэнущ цIыхум. Алахь талэр щIэупщIэнущ: «Ар къыпхуащIэрэ иджыри зыгуэрым ущIэлъэIумэ-щэ?» «Уи лъэщагъымкIэ соIуэ афIэкIа зыми сыщIэмылъэIункIэ!» – жиIэнущ модрейм. ЦIыхум аргуэру тхьэ иIуэн, псалъэ итын щIидзэжынущ, къызэрыхуиухам хуэдэу. ИтIанэ Алахь талэм ар жэнэтыбжэм хуигъэкIуэтэнущ икIи ар зэрызэщIэлыдэр, абы тхъэгъуэрэ гуфIэгъуэу щызекIуэр илъэгъуа нэужь, зиущэхунурэ Алахьым зэрыжиIам хуэдизкIэ щыму щытынущ. ИтIанэ жиIэнущ: «Уа си Тхьэ, кхъыIэ, жэнэтым сигъэхьэ!» «Уэри уэ, Iадэм и бын! – жиIэнущ Алахьышхуэм. – ЖыпIам утетыжкъым! Тхьэ пIуакъэ, псалъи птакъэ афIэкIа зыми ущIэмылъэIуну?» «Я Аллахь, кхъыIэ, къэбгъэщIахэм я нэхъ насыпыншэ сумыщI!» - жиIэнущ цIыхум. Абдежым Алахьу Лъагэрэ Лъэщыр дэхьэшхынущ абы еплъурэ, итIанэ жэнэтым ихьэну хуит ищIынущ. «Узыхуейр жыIэ!» - къыжриIэнущ абы Алахь талэм. ЦIыхум зыщIэхъуэпс зыри къэхуэмынэжыху зыхуей псори къыжьэдэкIынущ. Алахь Закъуэм къыжриIэнущ: «Мис мыр, мор жыIэ!» Апхуэдэу и Тхьэм игу къигъэкIа хъуапсапIэхэми теIэбэурэ зыри зыщIэхъуэпсын къэмынэжа нэужь, Алахьым къыжриIэнущ: «Мис а жыхуэпIамрэ иджыри апхуэдиз дыдэрэ уэстащ!»» Тхьэр зыхуэарэзын Iэбу Сэхьид Iэл-Хъудри зэрыжиIэмчIэ: «Алахьым и ЛIыкIуэ лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам зэрыжиIар: «а жыхуэпIамрэ иджыри апхуэдипщIрэ ууейщ» къыжриIауэщ Алахь талэм». Iэбу Хьурэйрэ жиIащ: «Сэ Алыхьым и лIыкIуэ лъапIэм «Ууейщ а жыхуэпIамрэ иджыри апхуэдиз дыдэрэ!» жиIауэ фIэкIа сщIэжкъым. Iэбу Сэхьид жиIащ: «Сэ ипэжыпIэкIэ зэхэсхащ «Ууейщ а жыхуэпIамрэ иджыри апхуэдипщIрэ». Бухъари, 425 (806), нап. 211.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "sarasfithar.txt" }
Александрова Зинаидэ ("Одуванчик золотой") ЗэзыдзэкIар Щэрмэт Дианэщ Къэрабэ Къэрабэ ныбжьыщIэр Дыщафэт, дахащэт. Шымышынэт зыми, Уеблэм, езы жьыми. Къэрабэ дыщафэр ИтIанэ жьы хъуащ Къэрабэ дыщафэм И щхьэр къетхъухащ Зэрилъагъуу и щхьэ тхъуар Жьым и гъусэу лъэтэжащ.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "sarmatdiana.txt" }
КъунейтIрэ щыIэ Франджы къэралыгъуэм и къулыкъу хэгъэщхьэхукIахэм ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэ 1935 ЗэзыдзэкIар Бэтокъуэ Ниязщ ЯПЭ IЫХЬЭ Географие теплъэгъуэ гъэкIэщIа Кавказ тIуащIэ зэпылъыпIэм Адыгэ ЩIыналъэкIэ йоджэ. Абы КъухьэпIэмкIэ Тэман хытIыгум деж къыщыщIедзэ, къуэкIыпIэмкIэ Каспий хым, Апшерон хытIыгум нэс зеукъуэдий. Нобэ Адыгэ ЩIыналъэкIэ зэджэ «Кавказ Ищхъэрэ Зэкъуэтым» пасэ зэманым адыгэхэр щыпсэуащ. А щIыналъэм хы ФIыцIэ Iуфэм и къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ Ингур псыр къыщыхэхуэжым щыщIэдзауэ ищхъэрэкIэ – Керчь Iузэвым нэс зеукъуэдий. КъаблэмкIэ (ипщэмкIэ) Каспий хы Iуфэм Гум псыр щыхэхуэжым щыщIэдзауэ Апшерон хытIыгум нос. Ингур псым и къыщIэжыпIэм щыщIадзэри, Кавказ къуршхэм Кавказ щIыналъэр ягуэш: ИщхъэрэкIэ – Кавказ Ищхъэрэ Зэкъуэтыр; ИпщэкIэ (къаблэмкIэ) Кавказ Ипщэ щIыналъэр; ИщхъэрэкIэ «Кавказ ЩIыналъэ Зэкъуэтым» Урысейр гъунапкъэ къыщыхуохъу Псыжьрэ Гумрэ я деж. Кавказ къуршхэм я нэхъыщхьэхэм хабжэ Iуащхьэмахуэрэ (м 5630-рэ) Къазбэчрэ (м 5045-рэ). Псыежэх нэхъыщхьэхэр Псыжьрэ Тэрчрэщ. Псыжь и къыщIэжыпIэр Iуащхьэмахуэщ. Тэрч и къыщIэжыпIэр Къазбэчщ. Псыжь и Iыхьэ куэдым кхъухьжьейкIэ ущызекIуэфынущ. Кавказ къуршхэр мыл бгышхуэхэмкIэ гъэнщIащ. КъищынэмыщIауэ, лъагапIэхэм гуэл куэдым ущрохьэлIэ. ЩIыуэпсыр Кавказ щIыналъэхэм я щIыпIэхэм щIыуэпсым и щытыкIэр щызэтехуэркъым. Я нэхъыбэм «континентальнэкIэ» зэджэ щIыуэпсыр щызокIуэ. Ауэ хы ФIыцIэ Iуфэм къыбгъурылъ щIыпIэхэм ЩIыкурытыхым (Средиземнэ хым) и щIыуэпсыр щытепщэщ. ЩIым и хъугъуэфIыгъуэхэр Кавказым и щIы щIагъри щIы щхьэфэри хъугъуэфIыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ къулейщ. Километр щэ бжыгъэкIэ зызыукъуэдий бгъуэнщIагъхэм уарохьэлIэ. Хы ФIыцIэм пэгъунэгъу щIыналъэхэр мэзым щIигъэнащ. Уэздыгъей мэзхэм къадэкIуэу, ЩIыкурытыхым и хъуреягъкIэ узрихьэлIэ пхъэщхьэмыщхьэ псори къыщокI мыбдежым. Псыжьрэ Тэрчрэ я тафэхэр щIы пшэрщи, гъавэхэкI лIэужьыгъуэ псори къыщохъу. Абхъазым метр мин зи лъагагъ жызумейхэм ущрихьэлIэнкIи хъунущ. Тутын хэсэнми куэду зыщеубгъу щIыпIэм. Кавказым исхэр нэхъыбэу зэлэжьыр мэкъумэшымрэ былым гъэхъунымрэщ. Хэкум гъавэхэкIыу къитыр апхуэдизкIэ куэдщи, нэгъуэщI къэралыгъуэхэми хурагъашэ, Iэщ гъэхъунми фIы дыдэу зиужьащ. Нэхъыбэу ягъэхъур шы, мэл, бжэн, жэм, хыв хуэдэ бжьакъуэ зытет шэрыпI былымхэрщ. Урысейм дзэ къыщызэригъэпэщкIэ, шы хуэныкъуэху, щэхуакIуэ здэкIуэу щытар Кавказращ. ЩIы щIагъ хъугъуэфIыгъуэхэр Кавказым щымащIэкъым щIы щIагъ хъугъуэфIыгъуэхэр: дыжьын, гъущI, тхъуэбзащхъуэ, гъуаплъэ, нэгъуэщIхэри. Псыжь и къыщIэжыпIэ лъагэхэмрэ Абхъазымрэ мывэ фIамыщIкIэ бейщ. Грознэ къалэ цIэрыIуэм щIыдагъэу тонн мелуанитI къыщIокI. ЩIыналъэхэр зэзыпх гъуэгухэр Урысейм Кавказыр къыщизэуа лъэхъэнэм гугъуехьышхуэ хэтащ. Ар къызыхэкIар Кавказ лъэпкъхэр бийм пэщIэтыну Iэмал къезыта, ахэр зэлъэзыгъэIэс гъуэгухэр зэрымащIэрат. Зауэр иухыу гъащIэр мамыр хъужа нэужь, урыс унафэщIхэр занщIэу пэрыхьащ дэнэкIи гъуэгу щыпхашыным. МафIэгу яукъуэдияхэм ящыщу нэхъыщхьэр хы ФIыцIэм Iус ЦIэмэз (Новороссийск) къыщыщIэдзауэ Каспий хым нэс пхаша гъущI гъуэгурщ. А гъуэгу нэхъыщхьэм епхауэ гъуэгущIэхэр зэбграшри, къалэ псори зэрапхащ. Тхыдэ гъэкIэщIа Кавказыр цIыху хужь лъэпкъым и къежьапIэ щIыналъэу ябж. Хы ФIыцIэмрэ Каспий хымрэ я зэхуаку къызэрыдэувэм, Европэмрэ Азиемрэ я зэпыдзапIэу зэрыщытым къыхэкIкIэ, фIэкIыпIэ имыIэу къалэнышхуэ зэрихьэну къыхуэувырт. Азием къикIыу Европэм кIуэ зэрыпхъуакIуэ куэдым Кавказыр я зэблэкIыпIэт. Абыхэм ящыщ куэд мыбдежым щызэхакъутащ. Урыс, тырку, перс унафэщIхэм Кавказ щIыналъэр зыIэрагъэхьэныр я плъапIэт. Ар къызыхэкIыр езы Кавказым геостратегие и лъэныкъуэкIэ иIэ увыпIэрат. Къэралыгъуэ лъэщхэм я хъуэпсапIэу зэрыщытращ и щхьэусыгъуэр Кавказыр зауэ-банэм хэмыкIыу къызэрекIуэкIар. А щытыкIэм къегъэлъагъуэ щIыналъэм ис цIыхухэр зэуэным зэрыхуэIэзэри. Кавказ лъэпкъхэр щIы тафэм тету бийм щыпэмылъэщынум и деж бгы лъагэм дэкIуеижхэрти, сыт хуэдэ бий къатемыуэми япэлъэщхэрт икIи я щхьэри я хабзэри яхъумэжыфырт. Пасэрей алыдж тхыдэджхэм трагъэчыныхьу ятх Кавказыбгхэмрэ псыежэххэу Индылрэ (Волгэ) Тэнрэ (Дон) къызэщIаубыдэ щIы тафэхэр пасэм адыгэхэм я щIыналъэу щытауэ. Адыгэхэр Кавказым и лъэпкъ нэхъыжь дыдэу къалъытэ. Абыхэм ящыщ пасэрейхэм къащIэна Iэмэпсымэхэм я тхыдэр мывэ лъэхъэнэм нэс мэIэбэ. Языныкъуэ тхыдэджхэм жаIэ хьэтитхэм, адыгэ лъэпкъыу Кавказым икIыу, Тигррэ Евфратрэ я кум диубыдэ щIыналъэм империе къыщызэрагъэпэщауэ щытауэ. Кавказым теухуа хъыбархэм алыдж таурыхъхэми увыпIэшхуэ щаубыд. Абыхэм язщ Иныжь Прометей теухуар. Абы хъуаскIэ лъапIэ-лъагэу уэгум кърихар цIыхухэм яритати, тхьэхэм я нэхъыжь Юпитер абы хуэгубжьри, Кавказыбгым гъущI блакIэ кIэриIулIэжыгъат, игъащIэкIэ бгъэр къэлъатэурэ и кIуэцIыр къришхыкIыну. Кавказым мыпхуэдэ къэралыгъуэ щхьэхуитхэр итащ: - Адыгэ къэралыгъуэ; - Дыгъыстэн-шэшэн къэралыгъуэ; - Куржы къэралыгъуэ; - Ермэлы къэралыгъуэ; Мы къэралыгъуэхэм мыхьэнэ нэхъ ин зиIэу яхэтар Адыгэ къэралыгъуэращ. Абы Кавказыбгхэмрэ Псыжь и тафэмрэ зыщеубгъу. Адыгэхэмрэ Урысеймрэ 1723 гъэм щыщIэдзауэ Урысейр хущIокъу Кавказ Ищхъэрэри Ипщэри зыIэригъэхьэну. Къэжэр шах Мухьэмэд Ага Перс 1795 гъэм Куржым ебгъэрыкIуэри зэтрикъутащ, гугъуехьышхуэ пымылъуи Куржы щIыналъэр зыIэригъэхьащ. Екатеринэ ЕтIуанэм Куржым зэгурыIуэныгъэ ирищIылIауэ щытащ ныбжьэгъугъэкIэ зэдекIуэкIынхэу. Урысейм чристэнхэр муслъымэнхэм ящихъумэну и пщэ дилъхьэжат, абы къыхэкIыу Кавказ Ищхъэрэри Ипщэри зыIэригъэхьэну яужь итт. Ауэ а политикэм гуащIэу, псэемыблэжу пэщIэтахэщ Кавказым щыщу муслъымэн диныр къэзыщта адыгэхэри, шэшэнхэри, дагъыстэнхэри. А зэпэщIэтыныгъэм нэхъ IупщIу къыхэщыр 1838 -1858 гъэхэм Щамил Iимамым иригъэкIуэкIа бэнэныгъэращ. ЛIыхъужь щихъ Щамил хабзэ ткIий зыхэлъ къэралыгъуэ зэригъэпэщат Кавказ псор къызэщIиубыдэу, адыги, шэшэни, дагъыстэни зэкъуэту. Псом япэ игъэзэщIа лэжьыгъэхэм ящыщу зэкъуэтыныгъэм пэщIэувэ пщыхэр иригъэкIуэтэкIащ. Езым и жыджэрагърэ къыхуеджэныгъэкIэ Щамил хузэфIэкIащ цIыхубэм закъригъэIэтын, къуэшыгъэмрэ захуагъэмрэ зи лъабжьэ зэхэтыкIэ иукъуэдиин. Щихъым хэкур Iыхьэ-Iыхьэу иригуэшыкIри, дэтхэнэ зы щIы кIапэми унафэщI щхьэхуэ тригъэуващ. Абыхэм я пщэм дэлъыр тепщэныгъэр ягъэбыдэн, цIыхубэр зауэм хуэгъэхьэзырынрат. Дзэшхуи дэIэпыкъуэгъу куэди имыIами, Щамил Iимамым бийм зэман кIыхькIэ зауэ дригъэкIуэкIащ, хэщIыныгъэшхуи иритащ. 1859 гъэм щихъ Щамилыр гъэрыпIэм щихуам Кавказым и хуитыныгъэм удынышхуэ игъуэтащ, езы Кавказ зауэр и кIэм нэмысыпами. 1861 гъэм бадзэуэгъуэм и 13-м цIыхубэ зэхуэсышхуэ екIуэкIащ. Абы унафэ къыщащтащ «Кавказ Ищхъэрэ Зэкъуэт» цIэр зиIэ къэралыгъуэ яухуэну, зауэр зэпамыгъэууэ Урысейм бэнэныгъэ драгъэкIуэкIыну. Унафэм ипкъ иткIэ, лIыкIуэхэр Лондон, Париж, Истамбыл ягъэкIуащ, Кавказым и Iуэху зыIутыр къэралыгъуэшхуэхэм лъагъэIэсын, Урысейм Кавказым IэщэкIэ къебгъэрыкIуауэ къыдригъэкIуэкI зауэр къазэрытегуплIэм гу лърагъэтэн папщIэ. А лъэхъэнэм инджылыз лъэпкъым щыщ куэд адыгэхэм ялъэкI къамыгъанэу къадэIэпыкъуащ. Кърым зауэм и ужькIэ Инджылызым къыхилъхьащ Кавказыр и щхьэ хуиту псэун хуейуэ. Ауэ Франджы къэралыгъуэм ар идакъым, Урысейм и жагъуэ имыщIын папщIэ. Европэр къазэремылIалIэм щхьэкIи къамыгъанэу, адыгэхэм унафэ къащтащ зауэр и кIэм нэс ирагъэкIуэкIыну. Ауэ IэщэкIэ зэщIэузэда урысыдзэм адыгэхэр щапэщIэта зауэм 1864 гъэм накъыгъэм и 21-м кIэ игъуэтащ. Пащтыхь Александр Ещанэм и къуэш Михаил Кавказым къакIуэри тет щыхъуат. Абы Псыжь, Тэрч тафэ деж щаубыд щIыналъэхэр адыгэхэм яригъэбгынэн папщIэ, унафэ ткIийрэ Iуэху бзаджэу зэримыхьа щыIэкъым. ЯгъэIэпхъуа цIыхухэм я пIэкIэ урыс хьукмэтым урысрэ къэзакърэ къишэурэ иригъэтIысхьащ. 1864 гъэм къриубыдэу адыгэу цIыху мин щиблым (700.000) щIигъум хэкур ябгынэри, Тыркум Iэпхъуэн хуей хъуащ. 1877 гъэм Урыс-Тырку зауэр къагъэсэбэпу, адыгэхэр Урысейм и IэмыщIэм къикIыну хущIэкъуахэщ, ауэ яхузэфIэкIакъым. 1877 – 1878 гъэхэм а зауэр Берлин зэгурыIуэныгъэкIэ иухащ. Урысейм Батуми, Къарс щIыналъэхэр зыIэригъэхьащ. Апхуэдэуи Кавказ Ищхъэрэмрэ Ипщэмрэ и IэмыщIэ илъ хъуащ. ЩIэрыщIэу цIыху минищэм (100.000) щIигъум хэкур ябгынэн хуей хъуащ. Апхуэдэу щыхъум, Тырку къэралыгъуэм пщэрылъ егъэлеяхэмкIэ адыгэхэр къыхигъэзыхьащ. Адыгэхэмрэ Мысырымрэ Мыбдежым къыхэгъэщыпхъэщ адыгэхэр хьэрып пащтыхьхэм мамлюк куэдкIэ зэрахуэупсар, нэхъыбэу Аббасидхэмрэ Аюбидхэмрэ. 1516 гъэм пащтыхь унэм зыкъыщызыIэтахэм я пашэ Бэркъукъу (е Бэрэкъуэ) нобэкIэ Мысырыр, Сириер, Хьиджазыр (Саудей Хьэрыпыр) къызэщIэзыубыдэ щIыналъэм тепщэр щиубыдащ. (Мыр щыуагъэщ: Бурдж мамлюкхэм Мысырым тепщэныгъэр щыщаIыгъар Мунджин псалъалъэм зэрыжиIэмкIэ, 1383 – 1517 гъэхэм; совет энциклопедием ипкъ иткIэ – 1390 – 1517 гъэхэращ – Б.Н.). А лъэхъэнэм къриубыдэу адыгэ пащтыхь 23-рэ зэблэкIащ. Абыхэм яужькIэ тырку сулътIан Селим Япэрейм и тепщэныгъэм Сириеми Мысырми щызригъэукъуэдиящ. Адыгэ пащтыхьхэм я деж тепщэныгъэр щIэину, адэм къыIэщIэкIмэ, къуэм къыIэрыхьэу щыщыттэкъым, сулътIаныр щIыхь зиIэ цIыху цIэрыIуэхэмрэ пщыхэмрэ я хасэм щыхахыу арат. Наполеон Мысырым къыщихьа лъэхъэнэм адыгэпщхэм я щIэблэм иджыри зэфIэкIрэ лъэщыгъэрэ ябгъэдэлът, Хэкум къулыкъу лъагэхэр щаIыгът. Iуэхухэр зыублэри зэфIэзыххэри ахэрат. Наполеон абы гу лъитэри, адыгэхэр зыдигъэIэпыкъун папщIэ, абыхэм ящыщу нэхъ цIэрыIуэхэм благъэ, нэIуасэ захуищIыну щIидзат, нэхъ нэ лейкIи еплъу щытащ. Адыгэхэр 1914 – 1918 гъэхэм екIуэкIа Япэрей дунейпсо зауэм 1914 – 1918 гъэхэм екIуэкIа Япэ дунейпсо зауэр щыщIидзам, кавказ лъэпкъ дэкъузахэм къалъытащ езыхэр хуит щыхъужыну зэманыр къэсауэ. А лъэхъэнэм екIуэкIа политикэм тепщIыхьмэ, инджылызхэмрэ франджыхэмрэ дэIэпыкъуэгъуу уащыгугъыныр щхьэгъэпцIэжт. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ахэр зауэ Iуэху зэгурыIуэныгъэкIэ Урысейм къыгуэтт. Абы къыхэкIыу, кавказ лъэпкъхэм Тыркумрэ Нэмыцэмрэ (Германиемрэ) я дежкIэ загъэзат. Пащтыхьым и зэманым Урысейм щытепщэу щытащ Конституцэ Демократ Парт. Пащтыхьым и тетыгъуэр къыщыкъутэм, а зи гугъу тщIа партым хэт лIыщхьэхэр зэхыхьэри, «Ипщэ КъуэкIыпIэ Закъуэ» и фIэщыгъэу хьукмэтыщIэ зэхашат. Абыхэм щхьэкIэ кIэщIу «кадет» жаIэрт. А зэхаша хьукмэтым кавказ лъэпкъхэри хиубыдэрт. АрщхьэкIэ адыгэхэм гу лъатащ абы кавказ лъэпкъхэм яфI къызэрыкIын Iуэху зэрызэрамыхуэр, адыгэхэмрэ къэзакъхэмрэ IэщэкIэ зэпэщIэтын Iуэхури къагъэувыIэну яужь зэримытыр. Абы и щхьэусыгъуэкIэ, 1918 гъэм и накъыгъэ мазэм кавказ лъэпкъхэм я лIыкIуэхэм хасэ зэхашэри, унафэ къащтащ и щхьэ хуитыж къэралыгъуэ, кавказ лъэпкъ псори къызэщIиубыдэу, яухуэну. Абы «Кавказ Ищхъэрэ ЗэкъуэткIэ» еджэрт. Большевикхэм тепщэныгъэр яIэрыхьа нэужьи нэхъыфI хъуакъым кавказ лъэпкъхэм я гъащIэри я къэкIуэнри. Абыхэм я политикэм нэхъыщхьэу хэтыр щIыналъэ бжыгъэмрэ езыхэм я унафэмрэ зрагъэубгъунрат, Кавказри хиубыдэу. Кавказ лъэпкъхэм яхэс урыс жылагъуэхэр тэрч къэзакъхэм я гъусэу гуфIэгъуэкIэ большевикхэм япежьэрти, апхуэдэ щIыкIэкIэ кавказ лъэпкъхэм я къуажэхэр, я къалэхэр къазэурт. «Кавказ Ищхъэрэ Зэкъуэтым» дзэ къызэригъэпэщри, къалэхэр къиубыду большевикхэм зыкъомрэ япэщIэтащ. Къэралыгъуэ зэгуэтхэм, союзникхэм, «Кавказ Ищхъэрэ Зэкъуэтыр» къэралыгъуэу къалъытат, абыхэм я нэхъыщхьэ генерал Томпсон къадэIэпыкъуну псалъи къратат. Ауэ апхуэдэ псалъэ тахэми емыплъу икIи емыдаIуэу, адыгэхэм я мыгъуагъэри хэтыжу, «Урысейм и Ипщэ Зэкъуэтым» и унафэщI, большевикхэм япэщIэт генерал Деникин «Кавказ Ищхъэрэ Зэкъуэтым» и дзэмкIэ Кавказ щIыналъэр еубыд. «Кавказ Ищхъэрэ Зэкъуэтым» къыхуэнэжыр зыт – IэщэкIэ Деникиным пэщIэувэу, бэнэныгъэ дригъэкIуэкIынырт. Адыгэ дивизэу Деникиным и дзэм хэтыр къыхокIыжри, езы дыдэм пэщIоувэж, «Кавказ Ищхъэрэ Зэкъуэт» фронтым къыхохьэж. «Кавказ Ищхъэрэ Зэкъуэтым» Азербайджан республикэм и зэуакIуэу зыкъэзыIэтахэр къагухьэу зыкъыщIагъэкъуэну къыхуреджэ. Деникиныр, зыщыхьа большевикхэм я дзэр зэтреукIэри, ятокIуэ. Ауэ абыхэм я дзэ зэхэкъутахэм къелахэм щыщ урыс, тырку офицерхэм я унафэм щIэту партизан зауэр ирагъажьэри, Дербент, Петровск къалэхэр къащтэ, Деникиным Каспий хыр къимыгъэсэбэпыфын хуэдэу пэIэщIэ хуащI. Деникиным и зауэлI нэхъыфI дыдэхэр егъакIуэ а къалэхэр зыIэригъэхьэжын щхьэкIэ, ауэ къехъулIэркъым. Апхуэдэ щIыкIэурэ Деникиным и дзэр кърагъэкIуэтри, езыми Кавказым ИпщэкIэ зыщимыгъэбыдэмэ мыхъуну къыхуоув, большевикхэм къызэрыхагъэзыхьым къыхэкIыу. Деникиныр ирагъэкIуэтри, большевикхэм Кавказыр щIэрыщIэу яубыдыж. Адыгэ, шэшэн, дагъыстэн лъэпкъхэри дэкъузэныгъэм ирагъэувэж. ЕТIУАНЭ IЫХЬЭ Адыгэхэр КъуэкIыпIэ Гъунэгъум зэрыщикъухьар: Тыркум; Алыдж Хэкум (Грецием); Палестинэм; Франджы мандатым щIэт къэралыгъуэхэм НобэкIэ адыгэхэм я бжыгъэр зэхуэмыдизу щыIэщ Тыркум, Алыджым (Грецием), КъуэкIыпIэ Иорданым, Палестинэм, франджы мандатым щIэт къэралыгъуэхэу КъуэкIыпIэм щыIэхэм: Сирием, Алауит Хэкум. Сирием щыпсэу адыгэхэр нэхъ цIэрыIуэхэщ, абыхэм я бжыгъэр мин 25 – 30-м нос. Адыгэхэр – Тыркум Джэбал Барэкат щыIэхэр цIыху 5000-м нос; Смирнэ, Бандырмэ щыIэхэр 5000 мэхъу. Адыгэхэр – Алыджым (Грецием) Салоники областым – Лурс, Серс, Драмэ, Деде-Агач щыпсэухэм я бжыгъэр 5000 мэхъу. 1928 гъэм псалъэмакъ щыIащ Алыджым ис адыгэхэр Сирием хыхьэ Джолан щIыналъэм ягъэIэпхъуэн хуэдэу, ауэ зыри къикIакъым. Адыгэхэр – Иорданым Джэрэш, Нэхьур, Хьэмамэт, Уадисир, Сыуелыхь, Заркъэ, Русейфэ жылагъуэхэм тегуэшауэ Иорданием щыIэхэм я бжыгъэр 9000-м ноблагъэ. Адыгэхэр – Палестинэм Палестинэм щыIэ адыгэхэм я нэхъыбэр Тивериад гуэлым и Iэшэлъашэм щопсэу: Кфар-Камэ дэсхэр нэрыбгэ 400 мэхъу; Рихьание дэсхэр – 200. Франджы мандатым и жьауэ щIэт къэралыгъуэхэу КъуэкIыпIэм щыпсэу адыгэхэр Сирие Хьэлэб и Iэшэлъашэм: Хьэлэб къалэм: къэбэрдей, абазэхэ унагъуэу щэ (100) щопсэу. ЦIэрыIуэу дэсхэр: Анзор Тэуфикъ-бей, вагъуищ зытелъщ (капитан), адыгэ шуудзэм хэтащ; Ибрэхьим бей КъэдаI (супрефект). Джэбел Самхьан префектурэм (щIыналъэ Iыхьэ географие гуэшыкIэм темыхуэу): Мунбыдж къуажэм – абазэхэ унагъуэу 400 дэсщ. Къуажэ тхьэмадэхэр: Умар-бей; Хьэжы Исхьэкъ; Мэхьмуд Нэдим; Хъусен-ефэнды. Хьейн Дыкъна префектурэм: абазэхэ унагъуэу 15 дэсщ. Къуажэ тхьэмадэр Гъази Агъащ. Сынджыкъ (область) эскадроным, Антакие префектурэм: Бедрукъан къуажэм абазэхэ унагъуэ 35-рэ дэсщ. Къуажэ тхьэмадэр Къарэ Ахьмэд Умарщ. Къыркъ-хъан префектурэм: Рихьание къуажэм абазэхэ унагъуэу 120-рэ дэсщ. Къуажэ тхьэмадэр Хьэмду бей Хьэж Зэкэриещ. Ены-шахьыр абазэхэ унагъуэу 95-рэ дэсщ. Къуажэ тхьэмадэр УнэцIыкIу Шабан Агъащ. Хъоран абазэхэ унагъуэу 60 дэсщ. Къуажэ тхьэмадэр Хьэсэн-ефэндыщ. Сынджыкъ Дер-аз-зорым: Дер-аз-Зор къалэм и Салхьие хьэблэм шэшэн унагъуэу 100 дэсщ. Тхьэмадэр Хьэсэн-бейщ. Ракъкъэ къуажэм унагъуи 100 къэбэрдейрэ шэшэну дэсщ. Тхьэмадэхэр Анзор Умар-бейрэ Мырзэ-бейрэщ. Рас-ал-Гъеин: шэшэн унагъуэ 70 дэсщ, тхьэмадэхэр Исмэхьил-бейрэ Хьэзем-бейрэщ. Къарэ: шэшэн унагъуэ 50 дэсщ, тхьэмадэхэр Хьали Ага Риддэ; Сулеймэн Ага Фадлан сымэщ. Сафие: шэшэн унагъуэ 80. Тхьэмадэхэр Сулеймэн-бей, Щалехь-бей Атыбай сымэщ. Тел-ел-Руман: шэшэн унагъуи 10 дэсщ. Тхьэмадэр Абдулгъани-ефэндырщ. Сынджыкъ Хьэмэ, Мыредж-ад-Дур: бжьэдыгъу унагъуэ 50 дэсщ. Къуажэ тхьэмадэр Риад-ефэндырщ. Тел-Снан: бжьэдыгъурэ абазэхэу унагъуи 120-рэ дэсщ. Тхьэмадэхэр Абдулкъадыр-бей Росланыкъуэ, Сэлим Агъа сымэщ. Тел-Гъадэ: бжьэдыгъу унагъуэ 60 дэсщ. Тхьэмадэр Сэхьид Агъащ. Дейр-ал-Гыджыл: къэбэрдейуэ унагъуэ 50 дэсщ. Тхьэмадэр Бажэ Хьэжыщ. Джызин: дагъыстэн унагъуэ 30 дэсщ. Тхьэмадэр Сэхьид Гъэлейан Агъащ. Сынджыкъ Хьомс къалэм: дагъыстэн унагъуэ 50. Тхьэмадэр Хьэмзэ-бейщ. Гъейн-Зат: бжьэдыгъу унагъуи 180-рэ дэсщ, тхьэмадэр Бэдэн Агъащ. Тел-Гъамри: бжьэдыгъу унагъуи 150-рэ дэсщ, тхьэмадэр Хьэж Умар Агъащ. Абу-Хьумамэ: бжьэдыгъу унагъуэ 30 дэсщ, тхьэмадэр Iэюб-ефэндырщ. Гъысейлэ: дагъыстэн унагъуи 160-рэ дэсщ, тхьэмадэр Мухьэмэд-ефэндырщ. Тлил: бжьэдыгъу унагъуэ 50 дэсщ, тхьэмадэхэр Умар Агъарэ Екъуб-ефэндымрэщ. Сынджыкъ Дамаск: Дамаск къалэм и мухьэджрин хьэблэм: бжьэдыгъу, къэбэрдей, абазэхэ, осетин унагъуэу 60 дэсщ, тхьэмадэхэр Хьэрун-ефэнды, Абдуллахь-бей, Муссэ Къасым-бей сымэщ. Мардж-СулътIан: абазэхэ унагъуэу 70 дэсщ, тхьэмадэхэр – Умар-бейрэ Ислъам-ефэндымрэщ. Бойдан: осетинрэ къэрэшей унагъуэу 30 дэсщ, тхьэмадэр Мэхьмуд Агъащ. Блей: осетин, къэрэшей унагъуэу 150-рэ дэсщ, тхьэмадэр Мэхьмуд Агъащ. Джолан КъунейтIрэ къалэм: къэбэрдей, хьэтыкъуей, дагъыстэн, шэшэн унагъуэу 400 дэсщ, тхьэмадэр Сэлим-ефэнды Закариещ. Мансурэ: бжьэдыгъу, абазэхэ унагъуэу 130-рэ дэсщ, тхьэмадэр Екъуб-ефэндырщ. Гъейн-Зиуан: абазэхэ унагъуэу 150-рэ дэсщ, тхьэмадэр Екъуб Агъащ. Мумсие: унагъуэ 50 дэсщ, тхьэмадэхэр – Бэчыр Агъа, Хьэж Сулеймэн Агъа. Джууезэ: абазэхэ, къэбэрдей, тыркумэн унагъуэу 100 дэсщ, тхьэмадэхэр Хьэж Абдулэхь, Хьэж Бэчыр сымэщ. Бэрекъэ: абазэхэ унагъуэу 150-рэ дэсщ, тхьэмадэр Абдулхьамид Агъащ. Бир-Хьэджэм: къэбэрдей, абазэхэ унагъуэу 70 дэсщ, тхьэмадэхэр Хьэж Ахьмэд, Гъузер Ага. Сураман (Сэлмэние) иужькIэ Аднание фIащыжат: бжьэдыгъу унагъуи 120-рэ дэсщ, тхьэмадэр Мустафа-ефэндырщ. Хъышние: къэбэрдей, абазэхэ унагъуи 150-рэ дэсщ, тхьэмадэхэр Апышэ-бей, Мухьэмэд-Ага, Гъази Агъа сымэщ. Фэхьам: абазэхэу унагъуэ 20 дэсщ, тхьэмадэр Рэмэдан Агъащ. Фазарэ: осетин унагъуэу, къэбэрдейуэ 10 дэсщ, тхьэмадэхэр Ехья Агъа, Джэхьфар Агъа сымэщ. Хьэмидие: къэбэрдей унагъуэ 30 дэсщ, тхьэмадэр Хъурей Хьэсэн Агъащ. Гъейн-Сураман (зи гугъу ищIыр Мударей къуажэращ): къэбэрдей унагъуэу 30 дэсщ, тхьэмадэр Асхьэд Агъащ. Рууейхьинэ: абазэхэ унагъуэ 25-рэ дэсщ, тхьэмадэр Сосмакъ Хьисэ Агъащ. Самдание: шэшэн унагъуи 10 дэсщ, тхьэмадэр Хьэж Мухьэмэд Агъащ. Фардж: осетин унагъуэ 14 дэсщ, тхьэмадэр – Юныс Агъащ. Алауит щIыналъэм Джубел: бжьэдыгъу унагъуэ 50. Гъараб-ал-Мулк: унагъуэ 30. Сукасс: унагъуэ 15, тхьэмадэхэр Умар Агъа, Сэхьид Ефэнды сымэщ. ЕЩАНЭ IЫХЬЭ ЦIыху щхьэхуэм и теплъэр Нобэр къыздэсым адыгэхэмрэ куржыхэмрэ дунейм цIыхуу къытехьахэм я нэхъ дахэу ябжу къокIуэкI. Абы щхьэкIэ мы лъэпкъхэм я бзылъхугъэхэм пащтыхьым и щIасэ цIыхубзхэр щиIыгъ унэхэм щIэупщIэшхуэ щаIэу щытащ. Ауэ нэсу лъэпкъ къабзэ куэд къэнэжакъым, нэхъыбэу зыхэплъэгъуэжыр бзылъхугъэхэрщ. Кавказым лъэпкъ мащIэкъым щызэблэкIар – абы лъэпкъ куэд зэхэпща щыхъури кавказ лъэпкъыгъуэр тIасхъэ ищIащ, абы хэтуи напэ шэфэл бжьыфIэр нэхъ мащIэ хъуащ. Аращи, мащIэкъым адыгэу узрихьэлIэр я нэпкъпэпкъыр тэтэрхэм ейхэм ещхьу. Адыгэм я хабзэкъым езыхэм ящымыщ къашэу. Ауэ къатегуплIэ залымыгъэм къыхэкIыу мащIэкъым апхуэдэу зэрышахэри. Зэхуэарэзыуэ нэгъуэщI лъэпкъ къэзыши щыIэщ. Адыгэ бзылъхугъэхэр урысхэм ядэмыкIуэу щытами, тэтэрхэр, тыркухэр Iумпэм ящIыртэкъым. Апхуэдэу адыгэхэм хамэ лъэпкъхэм – нэхъыбэу тыркухэмрэ тэтэрхэмрэ – я лъэужь къахэнащ. Сирием щыпсэу адыгэхэм езым ящымыщ къашэртэкъым, я бзылъхугъэхэри хамэ лъэпкъхэм иратыртэкъым. Адыгэхэр щIагъуэу хьэрып-друз зауэхэм зэрахуэмыкIуэм къыхэкIыу, Джоланым дэсхэм нэгъуэщI лъэпкъ къахэпща хъуркъым. Абы ущыпэплъэ хъунущ адыгэм дахагъэу яIам къыщытригъэзэжыну. Адыгэ хьэлыр Сирием куэд щIауэ щыпсэу цIыхухэм нобэр къыздэсым яхуегъэхыркъым къэралым мухьэжырыщIэхэр къызэритIысхьар. Апхуэдэ щытыкIэм дэнэкIи къикIа къэIэпхъуагъащIэхэр нэхъри зэрипхащ. Псом япэу адыгэр зэрыадыгэм ирипагэу, пагэ зыкъызыфIэщIыжу щытщ. Абы къыхэкIыу дагъуэхэри яIэщ. Лъэхъэнэ Iэуэлъауэншэм адыгэхэм я пагагъым къыхэкIыу къемызэгъ Iуэху куэд къаIэщIощIэ, узыпэмыплъа къаугъэ къешэ, къуажэм дэс цIыхухэм я зэхуаку зэпэщIэувэныгъэ къыделъхьэ. Ауэ шынагъуэшхуэ е лажьэшхуэ къэхъумэ, я зэхуакум дэлъ гужьгъэжьыр лъэныкъуэкIэ ирагъэзри, псори зэкъуэту пэщIоувэ шынагъуэ къэхъеям. АдыгэлIыр бланэщ, цIыху пэжщ, я хабзэхэм пщIэ хуещI, и щхьэ жагъуэу илъагъужыркъым, и лъэпкъэгъухэмкIэ гумащIэщ, и псалъэм тыбогъуэтэж, пIалъэ е псалъэ итамэ, иIыгъыжщ. ЗыгуэркIэ напэм къемызэгъыу адыгэлIым икIагъэ къыIэщIэщIамэ, абы цIыхухэм емыкIушхуэ къыхуащIынущ, дзы дыдж дыдэхэмкIэ гъэнщIауэ усэ хузэхалъхьэнущ. Зэхыхьэ-зэхуэсхэм а усэхэр бзылъхугъэхэм уэрэду щыжаIэнущ, жаIар щIэблэм зэIэпахыурэ къекIуэкIынущ. ИкIэм-икIэжым, мыхъумыщIагъэ къызыIэщIэщIам хэкур ибгынэн хуей хъунущ. Щыпсалъэм, щызекIуэм, зыщихуапэм деж адыгэлIыр сыт щыгъуи лъагагъым, щIыхьым, цIыхуфIагъым, уэркъыгъэм хущIэкъуу щытщ. Ар Iущщ, жанщ, лэжьакIуэщ, уефыщIауэмэ, щыгъупщэркъым, и ныбжьэгъухэмкIэ хьэлэлщ. Сыт щыгъуи нэхъ цIыхугъэрэ гъэсэныгъэрэ зыхэлъ уримыхьэлIэн жыхуаIэм хуэдэщ. И зыIыгъыкIэмкIэ, и зекIуэкIэмкIэ, лъэщагъ, гуащIагъ дэплъагъум щхьэкIэ щIыхь зыхууегъэщI. Адыгэхэм псалъэжь куэд яIэщ. Ахэр Iуэхум здыхэтым къыщаIуэтэн яфIэфIщ. Мы зи гугъу къэтщIыну псалъэжьхэм къагъэлъагъуэ а лъэпкъым и уардагъыр: Псэм и пэ – напэ; Зи хэкурэ зи лъэпкърэ епцIыжыр цIыхукъым; ЦIыхугъэ зыхэлъыр факъырэкъым; ХьэщIэр унагъуэм щыщщ; ХьэщIэ зэрымыс унагъуэм тхъэгъуэ илъкъым; Бзылъхугъэ зэрымыс унэрэ мэш зэрымыт хьэсэрэ; Бзылъхугъэм ехъуэным езым зыхиутэжу аращ; Уэркъыгъэр зэпхар лIыгъэращ, къызыхэкIа лъэпкъыракъым; Гур кIуэдмэ, шыр жэкъым; ЦIыхум и пащхьэ ущыщыт хъунри, и щIыбкIэ бубынри зыщ. 1930 гъэхэм Сирием къыщызэрагъэпэща шуудзэм щыщ гуп, франджы генерал Колле яхэту. 1939 гъэ ЗауэлIыр Адыгэ лъэпкъыр, шэч хэмылъу, зауэлI лъэпкъщ. Адыгэхэм я лIыгъэр, я хахуагъэр делагъэм щыхуэкIуэж къэхъуащ. Мы лъэпкъым Тыркум лIыщхьэ цIэрыIуэ куэд иритащ. Дэтхэнэ зы унагъуэри куэду елIалIэрт и быныр зауэм хуигъэсэным. Сыт хуэдэ фIыщIэ, сыт хуэдэ щытхъу зы зауэлIым зауэм къыщимыхьами, абы и анэр ирипагэрт, цIыхухэм я пащхьэ хуитыныгъэ щиIэт и щIалэм щытхъуну, фIыкIэ и гугъу ищIыну, армыхъумэ уи бын ущытхъужыныр емыкIут. Дэтхэнэ зы шыпхъури, къэшэнри ирипагэрт псэлъыхъум зэрихьа лIыгъэм. ЩIалэм къимышэ щIыкIэ лъэщагърэ хахуагъкIэ зауэм зыкъыщигъэлъэгъуэн хуейт. АдыгэлIу зауэм къыщаукIам хуэщыгъуэртэкъым. Зи щIалэ зауэм хэкIуэда унагъуэр лъэпкъми, хьэблэми, къуажэми ягъэлъапIэрт. Хэтми, зауэ IэнатIэм шынэу къыщыщIэпхъуэжам, и унагъуэми лъэпкъми емыкIу къахуихьауэ ябжырт. Къэрабгъэу къыщIэкIа лIым и унэкъуэщхэр жылагъуэ зэхыхьэ-зэхуэсхэм укIытэм къыхэкIыу яхыхьэжыфыртэкъым. Уеблэмэ а напэтехыр ятекIыжтэкъым, а унагъуэм щыщу зыгуэрым лIыгъэ гуэр къимыгъэлъэгъуэжауэ. АдыгэлIым и шым лъагъуныгъэшхуэ хуиIэщ. Абы шым тесу зэуэныр нэхъ къыхихырт, лъэсу зэуэным зыщидзейрт. Шуудзэ ебгъэрыкIуэн щыхуейм и деж, адыгэлIыр пыплъхьэн щымыIэу шууейщ. Кавказым щиса зэманым адыгэхэр цIэрыIуэт хъыбарыншэу зыгуэрым ебгъэрыкIуэнкIэ. Зы лIакъуэ е зы къуажэ ягъэбийуэ теуэн хъуамэ, япэ щIыкIэ жэщым е нэхущым деж, лъэсу къуажэбгъум деж щытеуэрти, зауэ хуэдэу загъэлъагъуэрти, къуажэдэсхэр ягъэбэлэрыгъырт. ИтIанэ къикIуэтыж хуэдэу защIурэ, гъэпщкIуауэ я гъусэ шуудзэр къуажэм и адрей лъэныкъуэмкIэ лъэщу къыщебгъэрыкIуэрт. Сэшхуэ, Iэщэ хужь гъэIэрыхуэнымкIэ адыгэхэр Iэзэт, цIэрыIуэт, япебгъэуэн умыгъуэтыну. МафIэ Iэщэхэр къежьа нэужь, адыгэхэм ар фIы дыдэу къагъэсэбэпу зрагъэсащ. Абы и нэщэнэщ я лъэпкъ фащэм тет шалъэ жыпхэр, хьэзырылъэхэр. А жыпхэр нобэр къыздэсым лъэпкъ фащэм тыболъагъуэ. Фочхэр гъэпщкIуауэ Урысейм кърахырт е хамэхэм къыздахьу Европэм къахуикIырт. Къыхэгъэщыпхъэщ Урыс-Кавказ зауэжьым инджылыз гуэрхэр адыгэхэм IэщэкIэ, шэкIэ, зауэ хуэIухуэщIэкIэ зэрадэIэпыкъуар. Сирием щыпсэу адыгэхэр зауэ хуэIухуэщIэхэм хуэIэзэщ, ар я хьэлым хэмыкIуэдыкIауэ. Адыгэ шууейхэм сыт щыгъуи лIыхъужьыгъэшхуэ зэрахьэу, Iэзагъышхуэ яхэлъу къызэрыгъуэгурыкIуар зауэ куэдым къыщагъэлъэгъуащ. Абыхэм зауэлI хьэлыр къыдалъхуми ярейщ. МэкъумэшыщIэр IэщIагъэхэм япэ къихуэу адыгэлIыр зауэлIщ икIи мэкъумэшыщIэщ. Ар бэшэчщ, лэжьакIуэщ. Дунейм и зэхэзэрыхьыгъуэми, зэманым и къэгъэшыгъуэхэми, и зэхъуэкIыныгъэхэми тыншу докIуэкIыф. И хабзэр хуэсакъыу зэрехьэ. НэгъуэщI къыдэIэпыкъуну щылъаIуэр зэзэмызэххэщ. Уеблэмэ мэкъумэшым пыщIа IуэхугъуэхэмкIи бзылъхугъэ дэIэпыкъуэгъу ищIыну и щхьэ хуигъэфащэркъым. Адыгэр куэд щIауэ хьэрыпхэмрэ друзхэмрэ зэрыс щIыналъэм къыщыхутами, ахэр зыдигъэIэпыкъуну зэи лъэIуакъым. Уеблэмэ абыхэм захуигъэлъахъшэу щхьэщэ яхуищIакъым, езэуа фIэкIа. Езыр зэрыхуэхъукIэ и щхьэм хуэлэжьэжу мэпсэу. Адыгэхэм я фIыщIэщ япэ дыдэу Сирием шэрхъыдзэ изхэр зыщIэт гухэр къызэрыщежьар. Адыгэхэм я деж щIыр зэпыбуду Iыхьэ-IыхьэкIэ бгуэш хъунукъым. КъухьэпIэ Европэм лъэпкъ зэхэгъэж зыщI гуэрхэр щыIэщ, адыгэхэр зыхэпсэукIыр дыгъуэнрэ хъунщIэнрэщ жаIэу. Ар пэжкъым. АдыгэлIыр нэгъэсауэ мэкъумэшыщIэщ. Ар фIы дыдэу зэхэбгъэкIыфынущ, мэкъумэшым пыщIа лэжьыгъэхэм адыгэ къуажэхэмрэ хьэрып къуажэхэмрэ зэрызыщаужьар зэбгъапщэмэ. Адыгэ къуажэхэр а лъэныкъуэмкIэ хьэрып къуажэхэм куэдкIэ ятокIуэ. Адыгэхэм форэ тхъууэ кърахьэлIэжыр куэдкIэ нэхъыбэщ адрей къуажэхэм елъытауэ. Жылагъуэр зэрызэщхьэщыкIыр 1. Пщыхэр 2. ЛIакъуэлIэшхэр 3. Уэркъхэр 4. ЛъхукъуэлIхэр 5. ПщылIхэр Адыгэхэм дэкъузэныгъэр я фэм зэрыдэмыхуэм къыхэкIыу хабзэрэ демократиерэ яфIэфIу щытщ, абы щхьэкIэ щIыхьрэ пщIэрэ зэхуащIыжу зэхэтщ. Пщыхэм цIыхубэм емыупщIыжу зы унафи къащтэркъым, абыхэм я гъащIэр нэхъыбэу зытегъэщIар зауэм и дауэдапщэхэращ. Лъэпкъым жылагъуэ зэхэтыкIэ и лъэныкъуэкIи политикэ и лъэныкъуэкIи Iуэху зезыхьэхэр уэркъ щауэхэрат. ПщылIхэр адыгэхэм ящыщтэкъым, абыхэм я нэхъыбэр гъэру къахьауэ арат. Зауэ-банэмрэ Iэпхъуэшапхъуэнымрэ тхьэмыщкIэ зэтрищIауэ, сыт и лъэныкъуэкIи цIыхур зэхуигъадэу муслъымэн диныр къахыхьа нэужь, пщы-пщылI зэхэтыкIэр ящхьэщыкIри, адыгэхэр псори зы унагъуэм хуэдэу псэун щIадзащ. Ауэ абы къикIыркъым адыгэхэм уэркъ унагъуэм къыхэкIахэр ямыгъэлъапIэу. Пщы-уэркъхэм ятеухуауэ адыгэхэм фIы фIэкIа жаIэ хабзэкъым. Унагъуэр Шэч лъэпкъ хэмылъу, унагъуэм щытепщэр адэращ. Абы жиIар унафэщ, ар умыгъэзащIи упэпсэлъэжи хъунукъым. Абы къыкIэлъокIуэ къуэ нэхъыжьыр. Адэр щымыIэж хъумэ, нэхъыжьыгъэр къызылъысыр, къуэш нэхъыщIэхэми шыпхъухэми якIэлъыплъыр, унафэ зыщIыр аращ. ЗылI къытехъукIахэм зэкъуэшу забжыж, къудамэ-къудамэу зэтепщIыкIауэ щытми. Зэхэдз ямыIэу ахэр зэрогъэблагъэ, зэкIэлъокIуэ, я бзылъхугъэхэри шыпхъуу къабж. Абыхэм ящыщ зэи дэкIуэфынукъым а лъэпкъым щыщ хъулъхугъэ, езы цIыхухъухэми а лъэпкъым щыщ бзылъхугъэ къашэнукъым. Унагъуэм сабийхэр зэхэгъэж ящIыркъым, мыр щIалэщ, мыр хъыджэбзщ жаIэу. Хъыджэбз цIыкIухэр я дэлъхухэм ядоджэгу. Ауэ щIалэ цIыкIур еджапIэм кIуэмэ е адэм дэщIыгъуу мэкъумэшым елэжьмэ, хъыджэбз цIыкIум анэм дэщIыгъуу унэкIуэцI Iуэхухэр егъэзащIэ. Адыгэ бзылъхугъэр дэкIуауи дэмыкIуауи щрырет – зэи губгъуэ Iуэху илэжьыркъым. Псалъэм папщIэ, къумырыс, друз бзылъхугъэхэр шыдым е къыдырым илъэф пхъэIэщэм доIэпыкъу, пхъэ къахь. Апхуэдэ лэжьыгъэхэр адыгэхэм я деж зи Iуэхур хъулъхугъэращ. ЩIыб Iуэхум щыщу адыгэ цIыхубзым ищIэр псы къэхьын закъуэрщ. Унагъуэ нэхъ хуэмыщIахэми я бзылъхугъэхэм губгъуэ Iуэху ирагъащIэркъым, хуэныкъуапэми. Адыгэ бзылъхугъэр пщылIым хуэдэщ пхужыIэнукъым. Ар щIыхь зиIэ щхьэгъусэщ. Жылагъуэм пщIэрэ щхьэрэ иIэу хэтщ. Абы къыхэкIыу «ЩэнхабзэмкIэ Адыгэ Зэгухьэныгъэм» хабзэ къищтащ: «Бзылъхугъэр лъэпкъым и щIэлъэныкъуэу щытщ, арыншамэ ЩэнхабзэмкIэ Адыгэ Зэгухьэныгъэр нэфу, лъахъшэу къэнэнущ. Аращи, бзылъхугъэхэр ди зэгухьэныгъэм хэтыпхъэщ, дэтхэнэ зы цIыхухъуми хуэдэу». Унэм лIыр щIэмысми, хьэщIэ къекIуэлIамэ, щхьэгъусэм кърегъэблагъэ, хьэщIэм хуащI хабзэмкIи къыпокIуэкI. КъашагъащIэ нысэ цIыкIур унэм ису хъуам ягъафIэ, унагъуэм илъ хабзэм, унэкIуэцI Iуэхухэр зэрызэрахьэм и гуащэм хуэм-хуэмурэ щыгъуазэ ещI. АдыгэлIым бзылъхугъэм пщIэ хуищIыныр и лъым хэтщ. Адыгэ шум сыт хуэдизыпщIэрэ щхьэрэ имыIэми, гъуэгу тету бзылъхугъэ къыхуэзамэ, шым къопсыхри мэув, бзылъхугъэр блэкIа нэужь и гъуэгум пещэ. АдыгэлIыр жэщу бзылъхугъэ хуэзамэ, и къалэнщ ар унэм нигъэсыжыну. Бзылъхугъэ зыхэт зэхуэсым абы псалъэ фIей къыщыжьэдэкIмэ, ар емыкIу дыдэу къабж, а зэхэсми къыхаху. Хъыджэбзыр сыт хуэдэ жылагъуэ зэхыхьэми макIуэ, хьэщIэхэр кърегъэблагъэ. ГуфIэгъуэ-гукъеуэ зэхыхьэхэми жыджэру хэтщ. Ауэ унэ ихьа бзылъхугъэхэм хъыджэбздэсхэм яIэ хуитыныгъэм хуэдиз яIэкъым. Сыт хуэдэ зэхыхьэми бзылъхугъэ дэкIуами дэсми увыпIэ щхьэхуэ щаIэщ: нысашэ, нысэишэ, щауэ шэж хуэдэхэм. АдыгэлIым и гъащIэр жылагъуэ зэхыхьэхэмкIэ къэухъуреихьауэ щыту пхужыIэнущ. Абыхэм я нэхъыщхьэр лъэпкъыр щIыхькIэ къэзыIэт унагъуэращ. Адыгэ усакIуэжьхэр лъапIэу, лъагэу щIыщытар абыхэм унагъуэр зэтеIыгъэн Iуэхугъуэм гулъытэшхуэ хуащIу зэрыщытаращ. Хабзэр, хьэл-щэнхэр Пасэм адыгэхэм зэрахьэу щыта хабзэхэм ящыщ куэд нобэ щыIэжкъым. ЗэхъуэкIыныгъэу зэманым къишамрэ, Iэпхъуэшапхъуэным зэрыхэмыкIым, нэгъуэщI лъэпкъхэм ядэпсэун зэрыхуей хъуам къыхэкIыу хабзэ куэд яIэщIэхуащ, ткIийуэ зэрахьэу щытахэр нэгъунэ. Апхуэдэу щытми, нэхъыщхьэхэр къэнащ. Адыгэхэр я хабзэм нэхъ фIолIыкI, я диным нэхърэ. Ахэр нэхъыбэу зытеухуар: адэ-анэм жыIэдаIуэу яхущытын, жьым, еджагъэшхуэм, бзылъхугъэм пщIэ хуэщIын. Дэтхэнэ зэхыхьэми бжьыпэр щызыубыдыр хабзэм хэзыщIыкI нэхъыжьырщ, ар уэркъ унагъуэ къыхэмыкIауэ щытми. Iуэхушхуэхэр щызэрахуэу щытар Хасэращ. Хасэм хыхьэр цIыхубэм къыхиха лIыкIуэхэрт. Лъэпкъым и Iуэхур дэкIын папщIэ, мыпхуэдэ Хасэхэм я унафэр хэт дежкIи унафэт. Нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэ Хасэу зэхашахэм ящыщщ 1861 гъэм мэкъуауэгъуэм и 13-м нэрыбгэ 15 хъууэ зыхэта Хасэр. А Хасэращ «Кавказ Ищхъэрэ ЗэгухьэныгъэкIэ» еджэу къэралыгъуэ джэж къыщащтауэ щытар. Сирием щыIэ хасэм и Iуэху нэхъ зытегъэщIар унагъуэхэм е къуажэхэм яку къыдэхъуэ зэгурымыIуэныгъэхэр гъэзэкIуэжынырщ. Унагъуэм сабий къихъуэныр Унагъуэм сабий къихъуэныр гуфIэгъуэшхуэщ. Абы ныбжьэгъухэр гуфIакIуэ къешэ. Хьэрып друзхэм унагъуэм хъыджэбз цIыкIу къихъуэныр гуфIэгъуэ дыдэу къащыхъуркъым. Адыгэхэм хъыджэбз цIыкIу е щIалэ цIыкIу къахэхъуакIэ, зэхэдз ящIу гу лъыптэркъым. ЩIалэм щхьэкIи хъыджэбзым щхьэкIи гуфIакIуэу къахуэкIуэхэр зэхуэдизщ. Абыхэм щхьэкIэ зэрыхъуахъуэхэри зэщхьщ. Пасэм пщыхэм, уэркъхэм хабзэ яIащ: унэм сабий къихъуамэ, ар нэгъуэщI унагъуэ цIэрыIуэ гуэрым иратырти ирагъэпIырт, и ныбжьыр илъэс зыбгъупщIым щхьэдэхыхукIэ. Ар зрата лIым атэлыкъкIэ еджэу щытащ. А хабзэр нобэ зекIуэжыркъым. Къэшэныр Адыгэхэм я ныбжьыр хэкIуэтауэ къашэ икIи докIуэ. Куэдрэ урохьэлIэ хъыджэбз дэмыкIуа илъэс тIощIрэ пщIым нэсауэ. Лъыхъун, къэшэн Iуэхухэр зэрырагъэкIуэкIыр хьэрып друзхэм я хабзэхэм техуэркъым. Зэрышэн Iуэхури адэ-анэхэм я унафэкIэ зэфIэкIыркъым. Абыхэм я Iуэху къыхалъхьэмэ, мылъку, къулыкъу хуэдэхэм мыхьэнэ нэхъ яIэу къэувынущи. Абы щхьэкIэ щIалэм хъыджэбзым зы зэхыхьэ гуэрым – нысашэ, хьид, щIэпщакIуэ хуэдэм – зыщыхуегъазэри, и гурылъыр гурегъаIуэ. ЗэгурыIуэмэ, Iэлъын зэIэпах, итIанэ адэ-анэхэм хъыбар ирагъащIэ я гухэлъымкIэ. ЩIалэм къытохуэ и щхьэгъусэ хъунум игу къихьэхун папщIэ, Iэмал имыIэу нэчыхь уасэ итын хуейуэ, къуэкIыпIэм щыпсэу лъэпкъхэм ещхьу. Зэзэмызэ къохъу хъыджэбзым и адэ-анэм нэчыхь уасэр яфIэмащIэу. Абдежым зрагъанэри, нэчыхь ирамыгъэтхыу хуожьэ. Мыбдежым щIалэм къыхуэнэжыр хъыджэбзыр къигъэкIуэсэнращ. Аращи, хъыджэбзым пIалъэ иретри, и ныбжьэгъу зытIущ и гъусэу жэщым макIуэхэри пIалъэ зэхуащIам ирихьэлIэу хъыджэбзыр къагъэкIуасэри, щIалэм и ныбжьэгъу е и благъэ гуэрым деж ирахьэлIэ. Хъыджэбзыр зрахьэлIар бынунагъуэу щытщи, ныбжьэгъухэр зэхуашэс, ахэр нэхъыбэм пщIэрэ щхьэрэ зиIэ защIэхэщи, дэтхэнэ зыри нэчыхь уасэ тыным хоIэбэ: зым шы къет, адрейм мэл зыбжанэ, нэгъуэщIым джэд зыбжанэ. Апхуэдэурэ нэчыхь уасэ ирырагъэкъури, нэчыхьыр ирагъэтх. ИтIанэ уэредадэшхуэкIэ нысащIэр щIалэм и Iыхьлым деж яшэж. Нэчыхьыр зытхыр Iимамращ. Абдежым Iимамыр КъурIэн Iэят гуэрхэм къоджэри, зы Iэлъыни зы тхьэрыIуи щымыIэу зэфIокI. КъэгъэкIуэсэныр кIуэ пэтми нэхъ мащIэ хъууэрэ йокIуэкI. Шэрихьэтым хьэрыпхэм къахуигъэув къалэнхэм адыгэхэр егъэпIейтей, ипэжыпIэкIэ къапщтэмэ, ар къамыщтэу щытщ. IэлъэщI зытелъхьэныр Iэмал зимыIэ Iуэхугъуэщ унагъуэ ихьа бзылъхугъэм дежкIэ. Хъыджэбздэсхэми зытрапхъуэн хуейуэ щытщ. Апхуэдэу щытми, адыгэ хъыджэбзхэм хуитыныгъэ нэхъ яIэщ хьэрып пщащэхэм елъытауэ. Щхьэгъусэ хъуа бзылъхугъэр пащтыхь гуащэм щыхуэдэщ унагъуэм. Апхуэдэу щыт пэтми, лIым ар зы унафэкIэ иригъэкIыжыфынущ. Ауэ апхуэдэр къыщыхъур закъуэтIакъуэххэщ. ЛIым и фыз иригъэкIыжыну хуиткъым, щытыкIэ къызэрымыкIуэ гуэр къэмыхъуамэ, ар емыкIушхуэ зыхэлъу щымытмэ. Псалъэм папщIэ, и щхьэгъусэм епцIыжамэ е делэ дыдэ хъуамэ. Зинэр щымащIэщ адыгэхэм я деж. Пасэм ар зыIэщIэщIахэм тезыр тралъхьэрт, щапхъэ хъун папщIэ: зи лIым епцIыжа фызыр жылэм хэIущIыIу щащIырти, и адэм деж ирагъэшэжырт. Адэр абы хеящIэ хуэхъурти, унэIут хуэдэу, пщылI бэзэрым щищэрт, хьэрэмым яшэн хуэдэу. А хьэрэмхэми адыгэ бзылъхугъэхэм нэхъ щIэупщIэ щаIэт. Уеблэмэ апхуэдэ цIыхубзым и адэм и унэр щагъэс къэхъурт. НобэкIэ а тезырыр нэхъ псынщIэ хъуащ пасэ зэманхэм елъытауэ. Ауэ нобэкIи тезыр ткIий иIэу щытщ. Апхуэдэу ирагъэкIыжа цIыхубзым и гъащIэр и адэ-анэм егъэщIылIауэ ихьынущ, щIыбым щIэмыкIыфу, цIыхухэм яхэмыхьэфу. Апхуэдэ бзылъхугъэм зинэ дэзыщIа цIыхухъум тезыр лъэпкъ темыхуэ хуэдэу къэлъагъуэми, куэд дэмыкIыу ар укIауэ къагъуэтыжынущ, хэкур имыбгынэмэ. Ар зыукIыр езы фыз бзаджэм и Iыхьлы гуэрщ, нэхъыбапIэм и дэлъхущ. ЛIэныгъэр Хьэдагъэ ущыкIуэкIэ, диным къегъэув, зэрыхъукIэ, нэхъ щыму ущытыну, зэрыпхузэфIэкIкIэ умыгъыну. Адыгэхэр къызыгурымыIуэхэм дежкIэ мыпхуэдэ гупсысэ щыIэщ. Куэдым гу лъатащ адыгэхэм я хьэдагъэм гуауэр щызыхамыщIэу фэ зэратетым. Псалъэм папщIэ, щIалэ цIыкIу зыфIэкIуэдыжа анэм нэщхъеифэ къытеуэркъым, и нэпс къехыуи ялъагъуркъым. А анэм нэщхъеягъуэ е гукъеуэ имыIэу аракъым къызэрыбгурыIуэн хуейр. Языныкъуэхэм ягъэIу сабий къэхъуныр уафэм къикI насыпыгъуэшхуэу зэрыщымытым щхьэкIэ, ар лIэжми и Iыхьлыхэм зыхамыщIэу. Апхуэдэукъым ар зэрыщытыр. Ныбжьэгъу е нэгъуэщI гуIакIуэ къэкIуар щIэкIыжа нэужь, анэр и лэгъунэм щIохьэжри магъ, ауэ щэхуу, и макъ къимыкIыу, мыгъынанэу, мыкIийуэ. Аргуэру зыгуэр гIуакIуэ къэкIуамэ, зызыпелъэщIыхьыжри, къэкIуахэм зэтеубыдауэ захуегъазэ. Зэтемыхуэу, зэпэщIэуэу зы Iуэхугъуэ хэлъщ мыбдежым къытеувыIапхъэу. Пасэм зы лIы цIэрыIуэ гуэр лIамэ, абы щхьэкIэ цIыхухэр зэхуашэсырти ягъагъхэрт. Зи псэ хэкIа къудейм и нэхэр хузэтрапIэж, ягъэпскI, дыхукIэ мэ IэфI ирагъэу, джэбын хужь кърашэкI, итIанэ гъыбзаIуэхэр щхьэщотIысхьэри, лIым фIыуэ хэлъахэр гъыбзэкIэ къраIуэтэкI. ЛIыхэм лIар кхъаблэм телъу кхъэлъахэм яхьри щIалъхьэ. Фызхэр хьэдэр щIалъхьа нэужь, гуп-гуп цIыкIухэу кхъэм макIуэ. Къафэхэмрэ уэрэдхэмрэ Музыкэм, макъамэм щIыпIэшхуэ щаубыд адыгэм и дунейм. Абы лъэпкъыр егъасэ. Сыт хуэдэ уэрэдми лIыгъэмрэ щIыхьымрэ лъагэу щаIэт. Адыгэ къафэр куэдкIэ къыщхьэщокI къуэкIыпIэм щыIэ лъэпкъ къафэхэм. Европэ къафэхэм нэхъ пэгъунэгъущ. КъэфэкIэу щы щыIэщ. Ахэр: 1. Удж къафэ; 2. ЗэхуэкIуэ къафэ; 3. Шэшэн къафэ. ЗэхуэкIуэ къафэмрэ шэшэн къафэмрэ зы щIалэрэ зы хъыджэбзрэ утыкум зэдытохьэри къызэдофэ. Удж къафэм щIалэ, хъыджэбз куэд зэщIыгъуу къыщофэ. Дэтхэнэ къафэми макъамэ щхьэхуэ дэщIыгъущ. Пшынауэм псом я пащхьи пщIэрэ щIыхьрэ щегъуэт. ПсэупIэ унэмрэ фащэмрэ Дамаск икIыу Палестинэм кIуэ зыплъыхьакIуэхэм Джолан тхыщIыгур зэпичын хуей мэхъу. Абы къуажэу исхэм я псэупIэхэм щрохьэлIэ. Я унащхьэр кхъуэщын плъыжьу, щиху, хинэ жыгхэм къахэщу щилъагъукIэ, къегъэуIэбжьри гъэщIэгъуэн щохъу. Ауэ а теплъэ дахэм и IэфIагъыр щIэх дыдэу кIуэдыж пэтрэ, и гугъэ химыхыжу адэкIэ ирикIуэн хуейщ къуажэ гуэрым дыхьэху. Абы и нэм къыпэщIохуэ щIалэ цIыкIу, и щхьэм щыщIэдзауэ и лъакъуэм нэс фIыцIэкIэ хуэпауэ, и бгым къамэ кIэрыщIауэ, и бгъэ лъэныкъуитIым екIуэкIыу дыжьын хьэзырылъэхэр (шэ жыпхэр) тету. НэгъуэщI зы бзылъхугъи и щхьэм гуэгуэн тету, и пщампIэм Iудэхэр иIэу илъагъумэ, гукъинэж щыхъунущ. Лъэпкъ фащэр пасэм Римым и зауэлIхэм ящыгъа фащэм ещхьщ. Ар нобэр къыздэсым ящыгъщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы иджыри иропагэ. Мы фащэр апхуэдизкIэ егъэлеяуэ цIыхубэ щыгъынщи, Iэмал имыIэу къытегъэзэжауэ и гугъу нэхъ IупщIу щIын хуейщ. Джанэ фIыцIэм (зэзэмызи хужьщ) щIыIухэр пщампIэм нэсу тетщ. Абы къэпталкIэ йоджэ. Гъуэншэдж фIыцIэр и лъэгумкIэ епхащ. Джанэм и щIыIу теубгъуэн фIыцIэ телъщ, бгъэм деж мазэ ныкъуэ теплъэ къриту – абы цейкIэ йоджэ, бгым екъузылIащ. И щIыIум бгырыпх псыгъуэ телъщ, абы кIыцэхэр къыполэл, къамэр кIэрыщIащ. Къамэм тхыпхъэщIыпхъэхэр тедзащ. Цеибгъэм лъэныкъуитIымкIэ екIуэкIыу хьэзырылъэхэр тетщ. Хьэзырылъэхэм я щхьэр дыжьынщ. ПыIэри къэлъбакъ жыхуаIэращ. Европэ фащэр къэзыщта ефэндыхэм мы фащэр яфIэфIу щатIагъэ. Бзылъхугъэ фащэр хъулъхугъэ фащэм куэдкIэ къыщхьэщыкIкъым, ауэ и щэкIыр нэхъ къуэлэнщ. Бзылъхугъэ фащэр кIыхьщ, бостейкIэ йоджэ, Iэпкълъэпкъыр зэрыщыту щIехъумэ, и кIэмкIэ быхъущ, и пщэмкIэ зэвщ, бгъэм екъузылIауэ щытщ, уэзджынэм ещхьу. ЩIыIутелъым бостей кIэщI цIыкIу щIехъумэ, Iэгъуапэ кIыхьхэр пыту. Дыжьын бгырыпхыр тхыпхъэщIыпхъэкIэ гъэдэхащ, абы бгыр зэщIекъузэ. Щхьэр зэрахуапэри дыщафэ пыIэгуагуэщ, и лъагагъыр цIыхухъу пыIэм ейм хуэдизщ. А пыIэм щхьэц бла кIыхь, и бгъуитIымкIэ дамитIым къытелэлэжу, къедзэкIащ. Кавказ бзылъхугъэм вакъэ е пхъэ вакъэ щитIагъэу щытащ. Ар европей пхъэ вакъэм ещхьщ. Ауэ нобэкIэ ар нысашэм фIэкIа щыщатIагъэу плъагъуркъым. Мы лъэхъэнэм хьэрып щыгъыныр къащтащ. Ахэр щащыху ятепхъуауэ, я щхьэцыр щIэуфауэ къыдокI. ЦIыхухъу зыхэт зэхыхьэхэм яхыхьэркъым. Пхъэ вакъэхэр ямыгъэкIуэдыжу куэдрэ къагъэсэбэпащ. Адыгэ унэр и щIыбкIэ хьэрып унэхэм ещхьми, и кIуэцIкIэ тыншыпIэу щытщ. Пэшхэм я бжэхэр а зы пырхъуэм щызэIуахыу щытщ, пщэфапIэр нэхъ пхыдзащ. Бзылъхугъэр абы щолажьэ. Пэшхэм я нэхъ иныр унэлъащIэкIэ зэгъэпэщащ, пыIэтепхъуэхэмкIэ гъэщIэрэщIащ. Iэнэр удз гъэгъакIэ гъэдэхащ. Кавказ унэ щIыкIэхэр куэду уолъагъу. Абы и пэшхэр сырэу зэгуэту щытщ. Я гупэм хьэщпакъ (IущIыхь) Iутщ, дэтхэнэ зы пэшми и бжэр хьэщпакъымкIэ къыщыIупхыу. Пэшхэр кIуэцIрыкIыбжэу щыткъым. Унэм пщIантIэ иIэщ, гъэмахуэм былымхэр жэщкIэ дэтщ. ХьэщIэщым и гугъу дымыщIу дыблэкI хъункъым. Абыхэм къищынэмыщIауи, гъавэ гъэтIылъыпIэу гуэн щыIэщ. Хъулъхугъи бзылъхугъи а зы пщIантIэм щызэдопсэу. ХуэщIауэ щымытхэми дэтхэнэ зыми пэш щхьэхуэ иIэщ. ЩIалэ къэзышари хъыджэбз дэкIуари адэ-анэм яхокIри, щхьэхуэу унагъуэ ящIри мэтIыс. Шхэгъуэм хъулъхугъэри бзылъхугъэхэри щхьэхуэ-щхьэхуэу машхэ. Адыгэхэр лы шхынкIэ ерыщщ. Ар тхъурэ дэ хьэжарэ зыхэлъ шыпсым дашх. ХадэхэкIхэм елIалIэкъым. МащIэщ ахэр зэрашхыр. Зэфэхэр шэ, шху, псы. Фадэм мащIэу ефэныр адыгэм игъэхьэрэмкъым. Жэщ гъуэлъыжыгъуэм тепIэнщIэлъынхэр къыдах, яубгъури мэжей. Нэху ща нэужь, тепIэнщIэлъыныр зэтрауплIэнщIэжри, пIэ гъэтIылъыпIэм далъхьэж. Бзэмрэ гъэсэныгъэмрэ Кавказыбзэхэм я лъабжьэр джыным куэд щIауэ щIэныгъэлIхэм мыхьэнэшхуэ ирату къекIуэкIащ. Япэу ахэр зыджар икIи зэхэзыгъэкIар Голденштедтщ, XVII лIэщIыгъуэм. А щIэныгъэлIым зэхигъэкIа лъэпкъхэмрэ бзэхэмрэ кIэщIу къэтхьынщ: - тэтэрхэр (тырку) - лезгинхэр (дагъыстэн) - кистинхэр (шэшэн) - осетинхэр (иран) - адыгэхэр (черкес) - картвелхэр (куржы) Мы япэ зэхэгъэкIыгъуэм щыщIэдзауэ XIX, XX лIэщIыгъуэхэм екIуэкIа къэхутэныгъэхэм къежьапIэ яхуэхъуащ фон Эскерт и лэжьыгъэхэр. 1892 гъэм абы итхащ Кавказым теухуауэ “Die Sprachen des Kaukasishen Stammes”. Мы щIэныгъэлIыр здынэсамкIэ, мы бзэхэм зы къежьапIэ, зы «анэ» яIэщ. Нобэ зэрыпсалъэхэу бзэ нэхъ зызыубгъуахэр: 1. Адыгэхэр (процент 95-рэ) 2. Абхъазхэр 3. Шэшэнхэр Шэшэныбзэу нобэкIэ хэщIыныгъэшхуэ зыгъуэтам зы зэман Кавказ къуэкIыпIэм нэхъ зыщиубгъуауэ щытащ. Сирием шэшэнхэр мащIэ-мащIэурэ хьэрыпхэм яхэпхъауэ зэрыщыщытым къыхэкIыу, хьэрыпыбзэкIэ мэпсалъэ икIи матхэ. Адыгэхэр я унагъуэ кIуэцIым зэрыщызэпсалъэр адыгэбзэщ. ЕджапIэм цIыкIухэм дерсхэр зэрыщыгурагъаIуэр адыгэбзэщ. Абы дэщIыгъууи франджыбзэри хьэрыпыбзэри зрагъащIэ. ЕджапIэхэм латин тхэкIэм зыщеужь. Абы теухуауэ лъагъуэхэр пхыша хъуащ, щIэгъэкъуэнхэр ягъуэт. ЗэкIэ зэрыщытым тепщIыхьмэ, адыгэ еджакIуэ цIыкIухэр йогугъу, гулъытэ яIэщ, я гупсысэкIэкIэ хьэрып щIалэ цIыкIухэм ятокIуэ, нэхъ ерыщхэщ, нэхъ мыщхьэхыу мэлажьэ. Диныр Адыгэхэм я деж чыристан диным нэхъ зыщиубгъуауэ щытащ. НобэкIэ абыхэм муслъымэн диным и дауэдапщэхэр зэрахьэми, XV лIэщIыгъуэм Кавказым муслъымэн диным и лъэужь къыщылъагъуэртэкъым. Абхъазу Адыгэ ЩIыналъэм щыщхэм мы дызэрыт эрэм и ипэрей лъэхъэнэм щыщIэдзауэ чыристан диныр зэрахьэ. Чыристаныгъэм нэгъуэщI щIыналъэхэми зыщиубгъуауэ щытащ император Юстиниан Августым и тетыгъуэм. Абы и ужь иту мажусий диным XV, XVI лIэщIыгъуэхэм къегъэзэжри, тепщэу лIэщIыгъуэ зыбжанэкIэ йокIуэкI. Нобэр къыздэсым бзэм мыпхуэдэ тхьэцIэхэр хэтщ пасэу зыхуэпщылIахэм щыщу: Мериссэ – бжьэм и тепщэт; Уэрсэрыжь – гъуэгу тетыр къихъумэрт, къэхъун-къэмыхъунум щыгъуазэт; Лъэпщ – гъукIэным, лъэщагъым я тепщэт; Емышэ – дахагъымрэ гуакIуагъымрэ я тепщэт; Мардж, Табу – къэхъукъащIэ бзаджэм ущызыхъумэ теп- щэт. Мажусий диным илъэс 600-кIэ зиубгъуауэ щытащ. XVII лIэщIыгъуэм чыристан зауэхэр къыщыхъейм, абыхэм яжьри мы щIыналъэм къыщIихуащ. КъуэкIыпIэм щыщ чыристанхэр зауэм къыбгъэдэкIыжу къыщагъэзэжым, ящыщ куэд Адыгэ ЩIыналъэм къыщыувыIэри, щыпсэун щIадзащ. Европэ сатуущIхэр къадэIэпыкъуурэ, а дин лэжькIуэхэм чыристаныгъэм зрагъэубгъуащ. Нэхъыбэу къадэIэпыкъур Венецием щыщ сатуущIхэрат, а лъэхъэнэм тетыгъуэр зиIахэрт. Чыристан диныр езыр тIууэ зэгуэщIыкIыным нэсауэ зэрыщытам хуэдэу, а лIэщIыгъуэм нэс зиубгъуащ. КъэхъукъащIэу КъуэкIыпIэм щекIуэкIахэм адыгэхэри зэрыхэтам и щхьэусыгъуэкIэ, мы щIыналъэм щыпсэухэм я диныр хуэм-хуэмурэ зыханэжри, муслъымэн динымкIэ загъэзащ. А къэхъукъащIэхэм нэхъыбэу къыхэбгъэщ хъунущ тыркухэм Константинополь (Истамбыл) къызэращтар. ЕтIуанэу – мамлюкхэм ящыщу КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щыпсэуахэм Кавказым къызэрагъэзэжар. Апхуэдэ къекIуэкIыкIэмрэ щэн-къэщэхун зэIэпыхынымрэ зэхуигъэзащ кърым тэтэрхэмрэ Азие ЦIыкIум тепщэ щыхъуа тыркухэмрэ. ИужькIэ, Урысейр адыгэхэм къатегуплIэу щыхуежьэм, ТыркумкIэ загъэзащ. Абы къыхэкIыу жытIэ хъунущ XVIII лIэщIыгъуэм щIыналъэм исым я нэхъыбэм муслъымэн диныр къащтауэ зэрыщытар. Абы щхьэкIэ къэмынэу, хабзэжь зэрахьэу щытахэри, пасэрей диным къыхэкIахэри яхъумащ. НобэкIэ я диным и лъабжьэр муслъымэн суннитращ. Абхъазхэращ пасэ дыдэу чыристан диныр къэзыщтари, абы нэхъ хуэпэжу щытахэри. Мы лъэхъэнэм адыгэхэр я мэсхьэбкIи я фIэщхъуныгъэкIи муслъымэн суннитхэм къащхьэщыкIыркъым. Джоланым, Палестинэм, Иорданым исхэм я дин пашэу Кфар-Камэ дэс шейхъ Исхьэкъ и унафэм, и жыIэм щIэтхэщ. 1935 гъэм шейхъ Исхьэкъ дунейм ехыжа нэужь, Iимамхэмрэ дин лэжьакIуэхэмрэ динымкIэ тепщэныгъэр зэхуагуэшащ. Сирием накъшыбандийхэм (суфий гупщ) мазэ къэс щIыпIэ хэха гуэрым хасэ щрагъэкIуэкI. Абыхэм я нэхъыбэр ныбжькIэ хэкIуэтауэ щытхэщ, ауэ ныбжьыщIэхэри яхэтщ. Хьэрып Бунар зи цIэ тырку къуажэм дэс адыгэхэр псори накъшыбандийуэ жыпIэ хъунущ. Абыхэм тхьэмахуэм зэ е тIэу зэхуэс ящI. Апхуэдэ зэхуэсхэм бзылъхугъэхэри хэтыфынущ, ауэ хъулъхугъэхэмрэ бзылъхугъэхэмрэ зэпэщхьэхуэущ зэхуэсым зэрыхэтыр. Бзылъхугъэ зэхуэсым езыхэм ящыщ гуэрым бжьыпэр щиубыдыфынущ, и Iиманым, и хьэлэлагъым елъытауэ. Зыщыбгъауэ мыхъуну, накъшыбандийхэм лъэкIыныгъэшхуэ щаIэщ адыгэхэм я деж. ЕПЛIАНЭ IЫХЬЭ Адыгэхэр Джоланым итIысхьа зэрыхъуар 1878 гъэм адыгэхэр пщIы бжыгъэ хъухэу КъунейтIрэ щIыналъэм итIысхьащ. Тырку сулътIаным къарита щIыхэр мылъку яхуэхъун папщIэ илъэсипщIкIэ елэжьахэщ. Илъэс тIощIищ и пэкIэ абдежым адыгэхэр щитIысхьам, хьэрып къумырысхэр исащ: лIакъуэхэу фэдлыхэр, ныхьемхэр, бэхьатрэхэр, хьэудэджхэр, джатинэхэр, рифахьихэр, друзхэр. ЩIыналъэм и нэхъыбэр мывалъэу щытащ, ауэ мэл, Iэщ гуартэхэр щыкуэдт. ЩIыналъэхэм адыгэхэр къызритIысхьам нэфIкIэ къеплъакъым друзхэри бедуинхэри. Адыгэхэм КъунейтIрэ къалэр жыджэру яухуат, щIыхьрэ щытхъурэ яхуэфащэу, сыту жыпIэмэ, абы щхьэкIэ къагъэсэбэпа Iэмэпсымэхэр къызэрыгуэкI дыдэхэт. КъунейтIрэр а лъэхъэнэм еблэгъапIэ пщIантIэ хъуат. А къалэм фэ къытеуа нэужь, адыгэхэр гушхуауэ нэгъуэщI щIыпIэхэм къикIыурэ къыдэтIысхьащ. ИтIанэ хуэм-хуэмурэ КъунейтIрэм пэгъунэгъуу нэгъуэщI къуажэхэри къэтIысащ. Абыхэм акъылыфIагърэ гупсысэрэ хэлъу щIыр къагъэщIэрэщIэжащ. Хьэрыпхэми друзхэми я гужьгъэжьыр ямыгъэтIылъами, КъунейтIрэм псынщIэу зиужьын щIидзащ. 1900 гъэм щыщIэдзауэ адыгэхэр абдежым щитIысхьэм, хьэрыпи друзи зэгуэмыпу къэнакъым, лIэщIыгъуэ зыбжанэкIэ ящIу ябжымрэ я тепщэныгъэмрэ яфIэкIуэду къалъытэри. Ауэ гужьгъэжьым и ткIиягъыр хуэмурэ ужьыхыжри, я зэхущытыкIэр мамырыжащ. Шынагъуэм гупсэхугъуэкIэ зихъуэжащ. Адыгэхэмрэ ахэр зыхыхьа лъэпкъхэмрэ зэхуаIэ зэпыщIэныгъэри нэхъ ефIэкIуащ, зэгурыIуэныгъэ яку дэлъ хъуащ. Псоми я фейдэ зыхэлъ гуэрхэми нэхъ благъэ зэхуищIахэщ. Ар хъарзынэми, Iуэхур нэгъэсауэ щыткъыми, зы тхьэмадэ къаугъэшы гуэрым имыщIапхъэ ищIэмэ, зэпэщIэувэныгъэр къэщIэрэщIэжынущ, мафIэри къызэщIэнэжынущ. Аращи, унафэр зыIэщIэлъхэр мыбэлэрыгъыу сакъын хуейщ, Iэуэлъауэ къамыгъэхъун папщIэ, къэхъуIами, псынщIэу ягъэсабырыжын хуейщ. Джолан нэхъ лъыгъажэ ину щекIуэкIар адыгэхэр къыщитIысхьагъащIэм 1879 гъэм Мансурэ къуажэм къыщыхъуаращ. Бедуинхэм япщ Фэдыл Хьэсэн Фагур-эмирыр я пэрыту, хьэудэджэ лIакъуэм япщ Абдул-Хьэзиз я пашэу адыгэхэм къатеуат. ФIыуэ зэзэуа нэужь, шейхъ Абдул-Хьэзиз яукIащ. Къэралым зы лъэсырызекIуэ полк къигъакIуэри, зауэр ягъэувыIащ. Ауэ махуэ зыбжанэ дэкIауэ адыгэхэм заIэтщ, хьэрыпхэм ятеуэри, Iэщ гуартиблрэ мэл минищэрэ трахри кIуэжахэщ. ИужькIэ адыгэхэмрэ бедуинхэмрэ мамырыгъэ тхылъ зэдатхащ афIэкIа зэмызэуэну, Iэи щIадзыжащ. А зэгурыIуэныгъэм щIы и лъэныкъуэкIэ адыгэхэм фIыгъуэ къахудэкIуащ. 1888 гъэм друзхэри Мансурэ къуажэм деж къащыпэщIэуващ адыгэхэм. Къуажэдэс адыгэ гуэрым друзхэр къытеуэри, и бзылъхугъэр гъэру яхьащ. Къэралым къаугъэр къигъэувыIэн папщIэ, лIыкIуэхэр къигъэкIуащ. Абыи емыплъу адыгэхэм Гъейн-Хьур (Мансурэм пэгъунэгъу къуажэщ) щыпсэу друзхэр фIагъэжащ. Зауэм зиубгъуащ. Друзхэм Фархьан-ал-Шагъланыр я пашэу Мансурэ къуажэм къытоуэри ягъэс. А зэхэуэм друз нэрыбгищэ, адыгэ тIощIищрэ щырэ хокIуадэ. Куэд дэмыкIыу адыгэхэм ялъ ящIэж: 1889 гъэм ахэр IэщэкIэ узэдауэ Мэдждэл-Шамс, друзхэм я нэхъ къалэшхуэм, Ансыкъуэ Ахьмэд-бей я пашэу тоуэри, друзхэр ирагъэкIуэт, ахэр щIопхъуэри къуршым йохьэж, мыдрейхэм щIэпхъуэжахэм я унэхэр къахъунщIэри ягъэсыж. А зэпэщIэтыныгъэм адыгэхэм текIуэныгъэр лъапIэу къащыIэрыхьащ: нэрыбгищэ хэкIуэдащ, Ансыкъуэ Ахьмэди яхэту. Мы хьэргъэшыргъэм Тырку къэралыр къегъэуIэбжьри, лIыкIуэ гуп къегъакIуэ: Мамдухь-Нури, Хъусроф, Абдул-Рэхьман пащэхэр я нэхъыщхьэу. Абыхэм мамырыгъэр лъэ быдэкIэ ягъэув. Адыгэхэм зэрызаужьар, политикэ зэныкъуэкъухэр, нобэрей щытыкIэр Адыгэхэр Джоланым къызэритIысхьэрэ гугъуехьым хэмыкIыу къогъуэгурыкIуэ. 1878 гъэ лъандэрэ адыгэхэр зы лъэныкъуэу, мы щIыналъэм куэд щIауэ щыпсэу друз-хьэрыпхэр нэгъуэщI зы лъэныкъуэу зоныкъуэкъу. 1925 – 1926 гъэхэм друзхэм революцэ дощI жаIэу зыкъыщаIэтым, ди зэуакIуэу ахэр зэхэзыкъутахэм я нэхъыбэр адыгэт. Ахэр дэ пэжу, лIыгъэ яхэлъу, жыджэру къыдгуэуващ. Адыгэхэм я нэхъыбэр ди телъхьэти, ахэр IэщэкIэ зэщIэузэдэныр ди хэкIыпIэт. КъызэрыIэтахэр ягъэужьыхыжри, гъащIэри зытетам теувэжащ. 1926 гъэм щегъэжьауэ друзхэмрэ адыгэхэмрэ я зэхуаку зи гугъу пщIын хуэдэ къэхъукъащIэ къыдэхъуакъым. А зэныкъуэкъур зэриухыу, Франджым псэемыблэжу зэрыхуэлэжьар ящымыгъупщэу, а хущытыкIэм пщIэ къыхуащIыну къэралыр къыхураджащ адыгэхэм. Абыхэм КъунейтIрэм парт къыщызэрагъэпэщ, езы къалэм, Дамаск, Хьомс, Хьэлэб щыщ лIыкIуэхэр хэту. 1926 гъэм фокIадэм и 30-м а партым франджы лIыкIуэу Сириер зи IэмыщIэ илъым мыпхуэдэ лъэIукIэ зыхуигъэзащ: 1. Адыгэ лIыкIуэхэм Къэрал Хасэм, ЛIыкIуэ Хасэм, Администрацэм зыхуагъазэ езыхэм я лIыкIуэ зыхагъэхьэну; 2. ЯIэщIэлъ Iэщэхэр къыхуагъэнэжыну; 3. ЗэпэщIэтыныгъэм хэкIуэдахэм къащIэна я унагъуэхэм, бынхэм, ныкъуэдыкъуэ хъуахэм зыкъыщIагъэкъуэну; 4. КъунейтIрэ къалэми къэралми къулыкъуу щыIэхэм ящыщ адыгэхэми ялъыгъэсын, езы КъунейтIрэ къалэм и супрефектурэр префектурэкIэ зэхъуэкIын. 5. КъунейтIрэм курыт еджапIэ дэщIыхьын, КъунейтIрэ, Хьомс, Хьэлэб щыщ адыгэ щIалэхэм щыщу нэрыбгипщIым хабзэ гъэувакIэ чысэ (стипендие) къратыну унафэ къэщтэн. 6. ЗэпэщIэуэ гуэр адыгэхэмрэ хьэрып лъакъуапцIэхэмрэ (бедуинхэмрэ) я зэхуаку къыдэхъуэмэ, щIыналъэм щызекIуэ хабзэхэр адыгэхэм къагъэсэбэпыфын хуэдэу, хуитыныгъэ яIэн. Мыпхуэдэ лъэIухэр гъэхьэзырыным политикэ и лъэныкъуэкIэ адыгэхэм еплъыкIэ зэхуэмыдэ яIэ хъуащ: зы гупыр унафэ зыIэщIэлъхэм ятегъэщIауэ, адрейхэм Сирие националистхэм нэхъ зыдрагъэкIуу. Унафэр зыIэщIэлъхэм я телъхьэхэр консерватору ябжырт, ахэр хущIэкъурт адыгэхэм я хуитыныгъэ хэгъэщхьэхукIахэр къахъумэну. 1927 гъэм Сирием ис адыгэ псори унафэр зыIэщIэлъым къыдэщIынымкIэ зы хъуахэщ. Адыгэ тхьэмадэхэр, зэрыхъукIэ, хэтщ лъэпкъым телъ гугъуехьхэр щхьэщахыну. Псом нэхъапэу: 1. Тырку гражданствэр трахыжыну; 2. И Хэку имысыж дэтхэнэ зы адыгэри Сирием къэIэпхъуэну хуитыныгъэ иIэну; 3. АдыгэбзэкIэ щеджэну еджапIэхэр къызэIуахыну; 4. Адыгэпсэр цIыхухэм яхэпщIэн папщIэ, адыгэбзэкIэ газет, журнал хуэдэхэр къыдагъэкIыныр; Унафэ зыIэщIэлъхэр мы лъэIухэм щыщу тIумкIэ арэзы хъуащ: 1. Франджыр хыхьэри, Тыркум иригъэдащ я гражданствэр къамыщтэну; 2. «Маржэ» газетыр къыдагъэкIыну. «Маржэ» газетым и япэ къыдэкIыгъуэр 1927 гъэм жэпуэгъуэм и 7-м хуэзащ. Абы къалэну зыхуигъэувыжащ Сирие щыпсэу адыгэхэм я деж адыгагъэм, адыгэ хьэл-щэным къыщыщхьэщыжыну, адыгэ хьэлыр ихъумэну, адыгэхэр псэкIэ зэщхь ищIыну. ИпэжыпIэкIэ япэрей махуэм щыщIэдзауэ газетым и къыдэгъэкIын, зехьэн Iуэхухэр махэ хъууэрэ екIуэкIащ. ГугъапIэ лъагэу иIахэм лъэIэсакъым. Щхьэусыгъуэхэм язщ ар латин хьэрфкIэ ятхыну яужь зэрихьар. Адыгэхэм нэхъ акъылыфIэу яхэтахэр гупитI зэрыгъэхъури, зыри ящIэфакъым. Хьэрыпу къахэтхэм газетыр къыдамыгъэкIынымкIэ ялъэкI къагъэнакъым. АбыкIэ хьэрып националист прессэм и арэзыныгъэ къалъыхъуэрт. 1928 гъэм щегъэжьауэ хуэмхуэмурэ ужьыхыжурэ газетыр къыдэмыкIыжыххэ хъуащ. «Адыгэ щIэныгъэлI зэкъуэтхэм», 1928 гъэм зэхыхьауэ щытахэм, лъабжьэ яхуэхъуар «Маржэ» газетым щылэжьахэращ. 1928 гъэм адыгэ зэхэтыкIэр нэхъ къыдгурыIуэ хъуащ. Ди акъылми гупсысэ пыухыкIахэр илъ хъуащ адыгэхэр хэт и телъхьэ хъунуми, дэнэкIэ загъэзэнуми къытхуэщIэн хуэдэу. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, а гъэм хэхыныгъэр екIуэкIырти, КъунейтIрэм нэрыбгитI щызэпеуэрт: зыр эмир Фагурщ, ар хьэрыпхэм я лъэныкъуэкIэ текIуащ. Адрейр – Издин Сулеймэн и къуэщ, ар адыгэхэм къагъэлъэгъуащ. Езыхэр абы Дыгъужь ИздинкIэ еджэрт. ЦIыхухэм нэхъ зызыщIагъэкъуар Издинрат, абы и ужь иувахэт. Абы адыгэ псоми я пхъэидзэр къихьри текIуат. И хэхыныгъэ зэпеуэри губзыгъагъэ хэлъу гъэпсат. Унафэр зыIэщIэлъхэри абы и щIэгъэкъуэнт. Езы Издини адыгэхэм яфI зыхэлъым фIэкIа злэжьынукъым щыжиIэм, псоми Iэ хуаIэтащ. Ауэ ар парламентым зэрынэсу, и еплъыкIэхэр хьэрып националистхэм яйм техуэ хъури зихъуэжащ. Апхуэдэ зекIуэкIэр хьэрыпхэми абыхэм къадэщI адыгэхэми ягу ирихьащ. Ауэ езы адыгэхэм яку зэгуэчыныгъэшхуэ къыдигъэхъуащ, иужькIэ къэкIуа илъэсхэм ныбжь ятридзэу. ЗэгъэуIуакIуэ Хасэм (Учредительное Собрание) и лэжьыгъэр зэрыувыIам къыхэкIыу, мы лIыкIуэм езым и акъылэгъухэр къигъэдэIуэфащ и Iуэху еплъыкIэр пхигъэкIынымкIэ. ЩIыналъэм хьэлэбэлыкъышхуэ къыщигъэхъеящ а лIым. 1928 гъэм, «Адыгэ щIэныгъэлI зэкъуэтхэм», сыт хуэдизу хущIэмыкъуами, щытхъу зыхуэфащэ я жэрдэмхэр пхагъэкIыфакъым. 1930 гъэм адыгэхэм я зэхуаку зэфIыныгъэ гуэрхэр къыдэхъуэж хъуащ 1931 гъэм екIуэкIыну хэхыныгъэм папщIэ. Абы и фIыгъэкIэ зи Iэ зыIэтынухэм я бжыгъэми хэхъуащ, адыгэ щIалэщIэ Сэмгугъу Iэмин лIыкIуэу хахащ. Мы лIыкIуэм ипэкIи иужькIи цIыхубэм я гугъапIэр игъэщIэхъуакъым. Абы и фIыгъэкIэ «Адыгэ щIэныгъэлI зэкъуэтхэр» зэхэша хъуащ, адыгэ еджапIэхэри къызэIуахащ, гъэлъэгъуэныгъэ куэди утыкум нэсащ. 1933 гъэм Сирием и Комиссар Нэхъыщхьэм, адыгэхэм я нэхъыбэр и телъхьэу, Тетыгъуэм зыхуегъазэ мыпхуэдэ лъэIухэмкIэ: 1. Сирием щыIэ адыгэхэм я лIыкIуэ парламентым хэтыну; 2. Адыгэхэр зэрыс щIыналъэхэм адыгэбзэ зыщIэ къулыкъущIэхэр унафэщIу щагъэувыну; 3. Къэралым и къулыкъущIакIуэу щытахэм е дзэм хэтахэм, адрей лъэпкъхэм щыщхэми хуэдэу, я хьэкъыр къаIэрыхьэжыну; 4. Адыгэ къуажэхэм къэралым епхауэ дэт пэщIэдзэ еджапIэхэм адыгэбзэ щрагъэджыну хуитыныгъэ яIэну; 5. Адыгэ щIалэхэу Сириеми Европэми щеджэхэм къэралым стипендие хухахыну; 6. АдыгэбзэкIэ прессэ яIэну хуитыныгъэ иратыну; 7. Адыгэ еджапIэхэр зезыхьэхэри абыхэм якIэлъыплъхэри езы адыгэхэм я гуп щхьэхуэхэм къыхахыжыну хуит ящIыну; 8. Зэхуэс-зэхыхьэхэр, Хасэхэр къызэрагъэпэщу я лъэпкъ мащIэм и фейдэ зыхэлъ пхагъэкIынымкIэ хуитыныгъэ къратыну; 9. Муслъымэн псапащIэ мылъкум адыгэхэм я Iыхьи хэлъыну; 10. Адыгэхэм лIэщIыгъуэкIэрэ къадекIуэкI хабзэхэм тету къадэпсэу лъэпкъхэм зэгурыIуэныгъэ иращIылIэну хуитыныгъэ яIэну. Къэшэн-дэкIуэн дауэдапщэхэри езы адыгэ дин лэжьакIуэхэм зэфIагъэкIыну хуит ящIыну. Мы лъэIухэм кърикIуэу, унафэр зыIэщIэлъым адыгэхэр хуит ищIащ адыгэбзэкIэ щрагъаджэу пэщIэдзэ еджапIэ къызэIуахыну. ЕгъэджакIуэхэр Сирием ЩIэныгъэмкIэ и министерствэм къигъэкIуащ, я улахуэр къиутIыпщащ. Абы къинэмыщIауи, адыгэхэр дэнэкIи хуит щыхъуащ гупжьейхэр къызэрагъэпэщурэ ящыщхэм ядэIэпыкъуну. А гупжьейхэм ящыщу нобэ нэхъ жыджэру лажьэхэр Дамаскрэ КъунейтIрэрэ дэтхэращ. Сэмгугъу Iэмин, парт ныкъуэкъуэгъухэм щхьэкIэ къэмынэу, езы КъунейтIрэ и Iэтащхьэ хъури, къалэр 1932 – 1935 гъэхэм мамыру щытащ. Езы лIыкIуэ ныбжьыщIэр парламентым и лэжьыгъэр щызэпыум, абы хэкIыжри и къалэ, и лъэпкъ и фейдэ зэрихуэу псэуащ. 1935 гъэм адыгэ еджапIэм къихьа саугъэтыр апхуэдизкIэ телъыджэти, абы къигъэлъэгъуащ лъэпкъым и жыджэрагъыр, адыгэхэри нэхъ къэгушхуащ. Мы щытыкIэм зиукъуэдиипхъэщ икIи дыщогугъ мы лIыкIуэ ныбжьыщIэм къыкъуэувэну тIэкIу зизылъэфыхьхэу: Издин хьэжы Сулеймэн – лIыкIуэу щытащ; Сэлим Закарие – къалэ Iэтащхьэу лэжьащ; Гъасым Мэхьмуд – тхьэмадэ; Бэдраддин Аль-Муфти – тхьэмадэ; Ансыкъуэ Гъариф – супрефекту щытащ; Дин лэжьакIуэхэри цIыхубэм я нэхъыбэри тепщэм и телъхьэщ икIи хьэзырщ хэти пэщIэувэну. Япэрей гуэдзэн Адыгэ лIакъуэхэр Адыгэ лъэпкъым щыщу лIакъуэ 13 къедбжэкIынщ, алыфбеймкIэ зэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу: 1. Абазэхэр; 2. Абазэхэхэр; 3. Адэмейхэр; 4. Бжьэдыгъухэр; 5. Беслъэнейхэр; 6. Шапсыгъхэр; 7. Хьэтыкъуейхэр; 8. Жьанэхэр; 9. Къэбэрдейхэр; 10. КIэмыргуейхэр; 11. Мэхъуэшхэр; 12. Натхъуэджхэр; 13. Убыххэр; Мы лъэпкъхэм щыщхэр Сирием щопсэу, абыхэм къищынэмыщIауи, шэшэн, дагъыстэн, къущхьэ (осетинхэр) щопсэу. Мы иужьрейхэр Кавказ лъэпкъ курыкупсэхэщ, адыгэхэм лъыкIэ япыщIахэщ. Адыгэхэм Кавказыр къыщабгынэм мыхэри къадикIащ. Абазэ лъэпкъыр Абазэхэр Абхъазым щыпсэурт, абы Кавказым и IыхьэфI еубыд. Ахэр лъэпкъхэм я нэхъ цIэрыIуэ, нэхъ жыджэрхэм ящыщщ. КъызэраIуэтэжымкIэ, абазэхэр «абазэ» и цIэу хьэрып гуэрым къытехъукIыжахэщ. Ауэ абы лъабжьэ иIэкъым тхыдэ и лъэныкъуэкIэ. Муслъымэн диныр къежьа нэужь, къурейш лъэпкъым къахэкIауэ лъэпкъ куэдым жаIэ хъуащ. Абхъаз щIыналъэхэм мы жылагъуэхэр итщ: Самурзакан, Чибелдэ, Абшаназ, Алди-кесек, Башхагъ, Кизилбек, Чикарко, Бракъей, Мудауей. Абазэ лъэпкъым щыщ куэд Хьомс, КъунейтIрэ щIыналъэхэм щопсэу. Адэмей лъэпкъыр Адэмей лъэпкъыр нобэкIэ Кавказ Ищхъэрэм щопсэу. Зы таурыхъ гуэрым мыпхуэдэу жеIэ: Македонием щыщ Александрышхуэм зы жыг адэмей щIыналъэм щыхисати, ар дуней псом жыгыу тетым я нэхъ ин хъуащ. Пасэм адэмей лъэпкъым шу минищ (3000) игъэшэсыфу щытащ. Ауэ и тетыгъуэми и цIэрыIуагъми тIэкIу кIэрыхуащ. Ахэр мащIэщ, адыгэ жылагъуэу Сирием щыпсэухэм елъытауэ. Бжьэдыгъу лъэпкъыр Бжьэдыгъухэр лъэпкъ нэхъыжь дыдэхэм хабжэ. Хэкум зэрыпхъуакIуэхэр къыщихьэкIэ, адыгэхэм я нэхъыбэр къуршым ихьэжырти, захъумэжырт. Бжьэдыгъухэр тафэм къытенэ хабзэти, щIы нэхъ пшэрхэр къахуэнащ. Бжьэдыгъухэм «нарткIэ» еджэу лIы пIащэхэр яхэтауэ жаIэ, абы иропагэхэр. Псэлъафэу къэнащ «Зы нарт закъуэр лIы мин пэлъытэщ». Хьэтыкъуей Лъыпкъыжь дыдэщ, абыхэм языхэз зэгуэрым Кавказым и пщу щытыгъащ, Зилэтокъуэ и цIэу. Мы лъэпкъым щыщ унагъуэхэми уащрохьэлIэ Сирием. Шапсыгъхэр Шапсыгъхэм я тхыдэр хьет тхыдэм пыщIащ. ПасэреибзэкIэ «шапсыгъ» жиIэмэ, «шы зыгъэхъу» къикIыу щытащ. Мы лъэпкъыр нобэкIи шы гъэхъункIэ цIэрыIуэщ. Сирием Хьомс, КъунейтIрэ къалэхэм щопсэу. Къэбэрдейхэр Адыгэ лъэпкъхэм я нэхъ цIэрыIуэ дыдэщ. Я хабзэрэ хьэл-щэнрэ ягъэлъапIэ икIи ткIийуэ яхъумэ. Къэбэрдейхэр тхьэмадэ Тамбий Къэбардэ къытепщIыкIыжахэщ. Ар икъукIэ лIы бланэт. Абы къытехъукIа унагъуэхэр Кавказым щопсэу. Къэбэрдейхэр VI лIэщIыгъуэм Каспий хым и къуэкIыпIэм щыпсэууэ щытащ. Иджы абы и къухьэпIэр яубыдащ. Сирием и Хьэлэб, Ракъкъэ, Хъэнасир къуажэхэм щопсэухэр. Мы лъэпкъым щыщ куэд «Адыгэ Шуудзэ Гупым» хыхьащ. Абыхэм ящыщщ капитанхэу Уэсмэн-бейрэ Тауфикъ-бейрэ. Мы офицеритIым я адэ къуэшыр къэбэрдей лъэпкъ тхьэмадэ пэрытхэм языхэзт. Убыххэр Мы лъэпкъым и щхьэхуитыныгъэр куэдрэ ихъумащ. Езыхэр лIы бланагъкIэ, хахуагъкIэ цIэрыIуэхэщ. Я псэлъэкIэр адрей адыгэ лъэпкъхэм я бзэм фIыуэ къыщхьэщокI. Дагъыстэнхэр Дагъыстэнхэр Кавказым и ищхъэрэ-къуэкIыпIэ Iыхьэм щопсэу, къурши, тафи хиубыдэу. Абы хохьэ: 1. Ищхъэрэ Дагъыстэныр: Шомхъатэрэ Матохъэрэ. 2. Курыт Дагъыстэныр, абы ТаркинкIэ йоджэ, абдеж щыпсэу лъэпкъым и цIэкIэ. Абыхэм ящIыгъущ къаркъулакъ лъэпкъри. 3. Ипщэ Дагъыстэныр. Абы къызэщIеубыдэ щIыналъэхэу Коринрэ Коблинрэ. Дагъыстэн щIыналъэм ис цIыхухэми дагъыстэнкIэ йоджэ. Ахэр зауэлIхэщ, лIы бланэхэщ. Кавказым и лъэпкъхэм ящыщу япэ дыдэ муслъымэн диныр къэзыщтар дагъыстэнхэращ. Абыхэм я деж къикIри, Кавказ псом зыщиубгъуащ. Дагъыстэн къуршхэр нобэр къыздэсым нэгъэсауэ цIыхухэм къахутауэ щыткъым. Езы цIыхухэми яфIэфIкъым а щIэныгъэр куу хъуну, хамэм ирамыгъащIэмэ нэхъ къащтэ. Дагъыстэнхэмрэ я гъунэгъу урысхэмрэ я зэхуаку къаугъэ къитаджэмэ, къуршхэм йохьэжри, бийм ткIийуэ къапэщIоувэ. Нобэр къыздэсым совет къэралыр бэлыхь хагъэтщ. Зыкъом хэтщ, хъунщIакIуэ хуэдэу гуп зэрыгъэхъуауэ, большевикхэм яIэщIэлъ Iэщэр зыIэрагъэхьэну. КъунейтIрэ къалэм дагъыстэнхэр адыгэхэм яубыд псэупIэхэм къащыдопсэу. Шэшэнхэр Шэшэнхэр Кавказ лъэпкъ нэхъыжь дыдэхэм ящыщщ. ЗэрыжаIэмкIэ, ахэр адыгэхэм ящыщу къыщIэкIынри Iуэхум хэлъщ. Шэшэнхэр цIэрыIуэхэщ я лIы бланагъэмрэ тегушхуэныгъэмрэ делагъэм зэрынэсымкIэ. Я фащэр адыгэ фащэращ. Я дахагъэм, я пкъыфэл зэкIужым нэр пIэпех жыхуаIэм хуэдэщ. ЦIыху щабэу плъагъу щхьэкIэ, зауэм икъукIэ щыпхъашэхэщ. Урысым Кавказыр къиубыдыну щыхущIэкъуа зэманым шэшэнхэр и бий фIыцIэхэм ящыщт. Шэшэнхэм Сирием Евфрат щIыналъэм уащыхуозэ: Рас-ал-Гъейн, Сафэ, Гош, Тел-ал-Румен къуажэхэм. Хьэсакэ щIыналъэм и шуудзэм шэшэнхэр щIэгъэкъуэнышхуэ яхуэхъуащ. ЕтIуанэ гуэдзэн 1. Адыгэ шуудзэ гупыр Сирием щыпсэу адыгэхэр 1920 гъэм къыщыщIэдзауэ ди дзэм хэтхэм ящIыгъуу Кемал Ататюрк и пэшэгъухэм Хьэлэб, Евфрат, Силисэ щIыналъэхэм щозауэ, «ЩIыпIэ жандармэми» хэтщ. Япэ дыдэу «Адыгэ шуудзэ гупыр» къызэзыгъэпэщар Алжир фочауэхэм я лейтенант Коллещ. ИщхьэкIэ зи гугъу тщIа зэрыпхъуакIуэхэм я хъыбар щызэхихым, 1922 гъэм и мэкъуауэгъуэм и цIыхугъэхэм, нэхъыбэу адыгэхэм, запищIащ. Абдежым гу лъитащ абыхэм я лIыгъэм, я пэжагъым, пагагъым. 1922 гъэм и бадзэуэгъуэм къызэрагъэпэща япэрей адыгэ шуудзэм «Адыгэ жандармэ шуудзэ пIалъэрымыс» фIащащ. Абы хэт зауэлIхэр цIэрыIуэ хъуат Сирием лей щызезыхьэ кемалистхэм (Кемал Ататюрк и телъхьэхэм) япэщIэтынымкIэ. 1925 гъэм бадзэуэгъуэм и 21-м друз зэныкъуэкъур къэхъеящ. ШыщхьэIум и 3-м Мазрагъэт-Сиджыным деж генерал Мишо и дзэ гупыр къыщызэтракъутащ. Абы и ужькIэ генерал Гамелин Джэбэл-друзым щригъэкIуэкI бэнэныгъэм ар щызыдигъэIэпыкъуну «Адыгэ шуудзэр» къыхуриджащ. ПлъырынкIи, пэжыр къыщIэгъэщынкIи адыгэ шуууейхэр зауэ хуэIухуэщIэхэм зэрахуэIэрыхуэр псынщIэу нэрылъагъу хъуащ. Суейдэ къалэм дэт быдапIэр друзхэм къаувыхьауэ бадзэуэгъуэм и 23 лъандэрэ яIыгъыу, фокIадэм и 25-м ар Адыгэ шуудзэм къищтащ. А зэманым ирихьэлIэу Суейдэ къалэм нэгъуэщI зауэлIхэри щызауэрт, быдапIэм и блын лъабжьэм зыщагъэбыдауэ. 1925 гъэм и жэпуэгъуэм зэщIэхъееныгъэм зеубгъури, Дамаскрэ Ливаным и къуэкIыпIэ бгыхэмрэ нос. БжыгъэкIэ куэд зэрымыхъум хуэдэу, Адыгэ шуудзэр Къалгъэт Джэндэлым ягъакIуэ пэтрэ, щэкIуэгъуэм и 2 – 3 жэщым гъуэгум друзхэр къащытоуэ. Ахэр зыбжанэрэ ирагъэкIуэтыжу, унэ къуагъхэр быдапIэ ящIурэ адыгэ шууейхэр къикIуэт ямыIэу зэуахэщ. Лейтенант Колле хьэкъыу пхыкIат апхуэдэ шууей телъыджэхэр къыумыгъэсэбэпыныр зэрыщыуагъэр. Абы къыхэкIыу, Франджым и Дзэм унафэ зыIэщIэлъым и деж Колле тхыгъэ иригъэхьащ Адыгэ шуудзэм хуэдэу эскадрон гупищ къызэрагъэпэщыну къыхуриджэу. УнафэщIхэм ар къабыл ящIащ. 1925 гъэм щэкIуэгъуэм и япэрей махуэм Адыгэ шуудзэ гупхэр къызэрагъэпэщащ. Абыхэм я бжыгъэр 1926 гъэм и жэпуэгъуэм эскадронипщIым нэблэгъащ. Мыбдежым адыгэхэм гугъуехь гуэрхэр къахудэкIащ. Япэрауэ, шуудзэхэр къызэгъэпэщыныр мылъкукIэ хуэмыщIа адыгэ жылагъуэхэм къайхьэлъэкIырт. ЕтIуанэу, дэтхэнэ зэхэуэми ягъакIуэ шуудзэхэм ящыщу куэд хэкIуадэрт. Абы къыхэкIыу, мэкъуауэгъуэм и 26-м капитан ящIа Колле унафэ къищтащ адыгэ шуудзэхэм исмаилитхэр хагъэхьэну. Мисиаф, Къидмус, Саламие щIыналъэхэм къришри, лIы бланэхэу, франджы лъэныкъуэм и телъхьэ щIалэхэу КъуэкIыпIэ Алэуин бгыхэм зыкъыщызыгъэлъэгъуахэр адыгэ шууейхэм гъусэ яхуищIащ. Зэрынэрылъагъущи, и щхьэ течауэ жыдмыIэпэми, цIыхухэр къызэрыIэтыху, зауэлI щхьэхуэ хъуми, гуп-гупу зауэхэми, адыгэ шуудзэхэр щIэгъэкъуэнышхуэ къытхуэхъуащ. ЗагъэхъеинкIэ псынщIэу, езы щIыналъэми и пIалъэр ящIэу, адыгэ шууейхэм куэд яхузэфIэкIащ бзаджащIэхэм япэщIэтынымкIэ. 1925 – 1926 гъэхэм къыхэкI ямыIэу зауэ IэнатIэм зэрыIутымкIэ адыгэ шуудзэхэр цIэрыIуэ хъуат. Мэджэл-Шамс (1925 гъэм и дыгъэгъазэ – 1926 гъэм и накъыгъэ), ГъутIэм (1925 гъэм и дыгъэгъазэ – 1926 гъэм и гъатхэпэ), Къатанэ къалэм (1926 гъэм гъатхэпэм и 15-м) хуэдэ щIыпIэхэм щекIуэкIа зауэхэм шуудзэм щыщу IэщэкIэ зэщIэузэда полкитIым къащытеуэри хэщIыныгъэшхуэ къратащ. Накъыгъэм и 31-м Джубатул Хьэшэб километр 60-кIэ нэхъ пэмыжыжьэу Адыгэ шуудзэ гупыр нэхущым деж Ахьмэд Мреуд и щIэпхъаджащIэ гупым теуауэ щытащ. Адыгэхэм хэщIыныгъэ ягъуэтами, автоматиплI бандитхэм къытрахауэ щытащ. 1926 гъэм и щэкIуэгъуэм Ладждэ деж зэхэуэ щекIуэкIам и ужькIэ Адыгэ шуудзэр щIэрыщIэу къызэрагъэпэщыж, 1927 гъэм абы КъуэкIыпIэм щыIэ нэгъуэщI зауэлI гупхэр къыхагъэхьэжри, «КъуэкIыпIэ шуудзэ псынщIэ» къыфIащ. Абы хэт полкхэм я бжыгъэр 19-м нэсырт. Сирием щекIуэкIа бунтхэм щыщу иужьрей ехъулIэныгъэу адыгэ шууейхэм ягъэзэкIуэжар Издин Абдулкъадыр и щIэпхъаджащIэ гупымрэ езымрэ Дрейджэ, Балам фермэм и деж зэрапэщIэтар аращ. Езы Издин Абдулкъадыр накъыгъэм и 19-м яукIащ. Адыгэ шууейхэм я щIыхькIэ мазэ 21-м и кIуэцIкIэ фIыщIэ тхылъ лъапIэу 7 къыдэкIащ, «Франджыдзэ Iэтащхьэм Iуэхутхьэбзэ хуащIам папщIэ». Офицерми, къуэдзэми, шуудзэлI къызэрыгуэкIми а зауэхэм нэрыбгэ 302-рэ хэкIуэдащ, 600 уIэгъэ, зыгуэрхэр ныкъуэдыкъуэ хэхъухьащ. А псор дэркIэ щыхьэтщ адыгэхэр зэуэным къызэрыхуигъэщIам икIи къызэрытхуэпэжым. 1927 гъэм щегъэжьауэ Адыгэ шуудзэ гупхэм, я бжыгъэр 8-м нэсу, мылицэ къалэнхэр Дамаск и Iэгъуэблагъэм щагъэзэщIащ. Абыхэм я фIыгъэкIэ мамырыгъэр ефIэкIуащ, езыхэми нэхъ заужьыну Iэмал ягъуэтащ. 2. ЗэхэтыкIэмрэ фащэмрэ Адыгэ шуудзэ гупыр сыт щыгъуи майор Колле и унафэм щIэтащ, дэIэпыкъуэгъуу зы франджы лейтенант яIэщ. Эскадронийм хэтхэм ящыщу дэтхэнэ зыми зы франджы унафэщI бгъэдэтщ. Абы и унафэм зы лейтенант е капитан нэхъыжьу дэщIыгъущ. ЩIыналъэм щыщ офицерхэми шуудзэлI къызэрыгуэкIхэми зытесын шы, шыуан, шхуэ, шым ирагъэшхын Iус хуэдэ ерыскъыпхъэ, щыгъынхэри къызыщIэкIын улахуэ кърат. Я Iэщэр франджы Iэщэщ, абырэ шэхэмрэ Iэтащхьэм кърагъэщэху. Абыхэм я зыхуэпэкIэм и гъэпсыкIэр Iуэхур тыншу зэфIэзыгъэкIхэм ящыщщ: махъшэ чырэм хуэдэу зэкIэрыщIэжауэ зэрызелъафэу гъуэгу темыту, дэтхэнэ зауэлIми езым зехъумэжыф. Дзэм хэтым и фащэ Iуэхур 1931 гъэм мазаем дубзыхуащ мыпхуэдэ щIыкIэу: 1. ЗекIуэ фащэр щIымахуэм шухьэм, гъэмахуэм – щэкIым къыхэщIыкIащ. Офицер дыкIэу да джанэу плIы, зы гъуэншэдж кIэщI, фэм къыхэщIыкIа вакъитI, бгырыпх, дыжьыныфэ дамэтелъхэр. Адыгэ шуудзэ гупым я дамыгъэр – кхъухь уфафэм тет лагъым хъурей цIыкIущ. 2. ЩIымахуэ фащэ зыкъизыхыр (параднэ) адыгэ фащэм къыщхьэщыкIыркъым: къэптал фIыцIэ, и пщампIэр лъагэу, абы и щIыIу цей фIыцIэ телъщ, адыгэ пыIэ, вакъэ – псори фIыцIэу. Дамэхэм щхьэрыхъуэн (бащлъыкъ) къеубгъуэхащ, бгырыпх псыгъуэ фIыцIэ ящIэлъщ, цейм и бгъэ лъэныкъуитIымкIэ шэ гъэтIылъыпIэхэр, хьэзырылъэхэр ирокIуэ (нобэкIэ нэпцIщ). Бгырыпх псыгъуэм къамэ кIэрыщIащ. 3. Гъэмахуэ фащэ зыкъизыхыр зи гугъу тщIа щIымахуэм ейм ещхьщ, ауэ къэптал фIыцIэр хужьщ, и пщампIэри лъагэу жьэгъум щIэуэу Iэтащ, пкъымрэ Iэщхьэхэмрэ къехузэкIащ, цейр дэщIыгъукъым. 4. Шыр зэрагъэщIэращIэр франджы шуудзэ псынщIэм ещхьщ. Языныкъуэ франджы офицерхэм яшхэр адыгэшым хуэдэу дыжьын тхьэмпэ цIыкIухэмкIэрэ дахэу зэIуща Iуданэ щхъуэкIэплъыкIэхэмкIэ щагъэщIэращIэ къохъу. Iэщэр 1916 гъэм ящIа франджы мушкетонырщ. Взвод къэс бжьамиитI иIэщ. Дэтхэнэ зы зауэлIми шэ щитI къылъос, ахэр къэлътмакъым илъу зэрехьэ.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "scham.txt" }
Демон ЗэзыдзэкIар Къармэ Iэуесщ 1 Щхьэлажьэу Демон псэ хэкуншэр Техуарзэт гуэныхьыбэ щыгум, КъызэригъэщIрэ гукъеуэншэу Махуэ блэкIахэр щIэтщ и нэгум; Жэнэт нур гъащIэм насыпыфIэу Бегъымбар пажэу щыпсэуар, ВагъуэкIэху блэжмэ, зэхуэгуфIэу ФIэхъус-сэламу зэрахар, ЧэруанакIуэ емызэшу Вагъуэбэ уэгум щикъухьам, Дуней хъугъэбэм зыIэпишэу Хьилмыгъэ щIэкъуу щыпсэуар; Мы дунеишхуэр зи IэрыкIым Псэ япэ дыдэу зритам, ИщIын шэч гуэри игу къэмыкIыу Гу къабзэу гъащIэм щыхэтам, ЛъэмыкIыу лIэщIыгъуэбэ кIуахэр Зэрымылъхуэсым гу лъитэну… КъинэмыщI куэд, куэд дыдэ… Ауэ А псор лъэкIакъым къищIэжыну! 2 Iумпэм ящIауэ хэку зимыIэр Дунейм щызеуэрт темыпыIэу, ЛIэщIыгъуэхэр дакъикъэ пэбжу Зыр зым и ужьым иту блэжырт, ЗэкIэлъыпIащIэрэ зэщхь защIэу, Мыпсэхуу игу, бзаджагъэ гуащIэр ЩIы мыгъуэ тIэкIум щилэжьын IэщIагъэм енкIэ бгъэдэтащ, Къыщыхуэмызэм пэрыуэн, Бзаджагъ къыхуэгъухэм тезэшащ. 3 Кавказ къурш щыгухэм зыщигъазэу, Жэнэтым ибгынар щыхуарзэт. Къазбэч и лъабжьэм щыналмэсу Къолыдыр ткIуж зимыIэ уэсыр, И щIагъым куууэ, къуэ кIыфIыпIэу, ЩIы зэгуэчауэ, блэ тIысыпIэу Дарьял йожэхыр зиIуэнтIауэ. Бэлацэу пщэцыр къэтэджауэ. Мэхъуахъуэ Тэрчи аслъэн Iэлу. Къуршыщхьэм фIэсу хьэкIэкхъуэкIэр Уэгуанэ къащхъуэм хэс мэскъалу, Псы даущ макъым щIэдэIукIырт Дыщафэ пшэхэр щIыпIэ жыжьэм. Ипщэ къэралым къикIыу жьажьэу ИщхъэрэкIэ абы дэкIуатэрт. Цыпхыдзэу къырхэр зэгулIауэ, Гупсысэ куум зэщIиубыдауэ, Къопэзэзэх, иIыгъщ жей мащIэм, Хуоплъыхыр толъкъун зэщIэпщIыпщIэм. Пхоплъ пшагъуэм, шынэ ямыщIэжу, Чэщанэ бгы аранэм фIэтхэр, Къэрэгъул бжыхь имыкIуэтыжу, Кавказым и хъумакIуэу Iутхэр. Телъыджэу дахэт нэм къиплъыхьыр, Тхьэшхуэ Iэмыру а дахагъэр. Ауэ пагэжьу гъащIэр зыхьым И нэгу къудей игъэджылакъым, А тхьэ IэрыкIыу щIылъэ гъагъэр Ауэ къудей зрипэсакъым. КъыкIэлъыкIуэнущ
{ "source": "adygabza.ru", "id": "second.txt" }
Есенин Сергей ЗэзыдзэкIар Брат Муратщ СыщIегъуэжу сыджэу сыкIэлъыгъкъым СыщIегъуэжу сыджэу сыкIэлъыгъкъым, Епэр Iугъуэу псори кIуэдыжынщ, КъыщIэуэжу тхъуэплъыр тIорысагъэм Аргуэрыжу щIалэ хэт хъужын? Хьэлъэ ихъухьауэ бэшэч гужьым Уэгу утыкум лъэр иримышэж, ЛъапцIэу жьыбгъэм ситу и лъэужьым Губгъуэ удзхэм сызыхамышэж. МащIэ-мащIэу псэм и мафIэр хощIыр, Iупэплъ плъыфэр хуэмурэ мэужьых. КъыскIэлъыджэ, гуIэу, сэ къысфIощIыр ЩIылъэ нэзым дыгъэр къухьэжыху... ГукъыдэжкIэ гъэхэр схуэмыупсэ, БлэкIа гъащIэ, уэ сынопщIыхьа? Зы тепсэгъуэу къысхуепса дыгъэпсхэм Шы плъыжь шууэ уэхым сытрихьай. Мащэ-унэр щхьэж и екIуэлIапIэщ. ПкIейхэм гъуаплъэу пщIащэхэр къыпоткIу… ФэрыщIыншэу псэкIэ зыгъэлъапIэу ЩIылъэм тетыфам здимыхь емыкIу! Бжьыхьэ ЗэзыдзэкIар Бемырзэ Мухьэдинщ Къынэсри щIыIэр, бжьыхьэ мэз дыщафэм Пхъэхуей макъ щэхукIэ иухащ псэлъэн. Къру гуп нэщхъейуэ щхьэщысыкIри уафэм Абы фIэкIа щыIэжкъым зыпэплъэн. Сыт узэжьэнри! – ЦIыхур щIым щыхьэщIэщ, Чэзур къэсамэ ебгынэж дунейр. ТхэкIыжа псоми яхуищIыжу щхьэщэ, Гуэл щхъуантIэм и бгъум щIэпыр щонэщхъей. Сэ ситщ си закъуэ тафэ пцIанэм и кум, Къру гупри жьыбгъэм пшэхум ныхехьэж. ЩIалэгъуэ дахэр сэ имыкIми си гум БлэкIам зыгуэркIи сыхуэмыпыхьэж. СыщIэфыгъужкъым ещхьу зы жэщмахуэм ГугъапIэ нэпцIхэм гъэ хуэсщIам къурмэн. Зэрыджэ плъыжьым хадэм щос и мафIэр, АрщхьэкIэ лъэкIкъым зы игъэхуэбэн. Исынкъым жыгыр а мафIэс Iущащэм – Удзыпкъри зэрыкIуэдыр гъэ IущIэхущ. ЗэрыIэщIэхуу жыгым хуэму пщIащэр, Нэщхъейуэ сэри псалъэхэр сIэщIоху. ИкIи зэгуэрым ахэр тхьэмпэ фахуэу Зэманым и жьым къыщIидзэжмэ лъэм, КъысхужыфIэж мыпхуэдэу: «Бзэ IэфI щэхукIэ Дыщафэ мэзым иухащ псэлъэн…» * * * ЗэзыдзэкIар Мысачэ Петрщ СыщыIакъым сэ Босфор игъащIэм, Абы папщIэ укъызэмыупщI Тенджыз къащхъуэр дыгъэ бзийм дэпщIыпщIу ЩIэслъэгъуащ уи нитIым – сымыбзыщI. Сэ Багдади чэруан псо зэщIэсщIэу, ХъугъуэфIыгъуэ зэикI сымыша Зысхуэгъэщхъи гуапэу сигу зыхищIэу, Уи куэщI щыгъэтыншыт сипкъ ешар. Къытезгъазэу дапщэрэ солъэIуми, Уэ шэчыншэу пщIэну ухуэмей, Сэ сыусакIуэшхуэу, сыцIэрыIуэу Сызэрыщалъытэр Урысейм. Урыс пшынэр си гум щобзэрабзэр, СфIэфIщ хьэ банэ макъым седэIуэн Жэщ мазэгъуэм. Догуэ, перс хъыджэбзым Ухуэмейрэ ди щIыпIэр пцIыхун? Зэштегъэууэ сэ мы щIыпIэ хуабэм СыкъэкIуакъым, уигукIэ сыкъебджащ Уэс чэсейуэ уи IэблитI схуэщабэм Къыум и дамэу зыкъызашэкIащ. Къызолъыхъуэ псэхупIэ куэд щIауэ, Семыбгыжми нобэм къэс згъэщIам, КъысхуэIуатэт и хъыбархэр щIэуэ НэщхъыфIагъкIэ уи хэку щIэрэщIам. Адэ жыжьэу къэзгъэна си пщащэм И гупсысэм, бампIэм симыхьын ПапщIэ, си гум акъужьыр щегъапщэт, Уэ плъэкIынущ си псэр бгъэтыншын. СымыкIуами сэ Босфор игъащIэм – Ар зищIысыр уэркIэ къэзгъэщIынщ. А уи нитIыр ещхьщи тенджыз пщIыпщIым Я нур щхъуантIэр зэи мыкIуэщIын. * * * ЗэзыдзэкIар НэщIэпыджэ Замирэщ ФIыкIэ, си ныбжьэгъу, фIыкIэ дызэхузэ. ФIыуэ слъагъу, уэ сэ си гум уилъщ. Къытпэщылъ зэпыкIыныгъэм уэрэ сэрэ Дызэхуэзэжыну гугъэ сигъэщIащ. ФIыкIэ, си ныбжьэгъу, хэмыту Iэи, псалъи, Гукъыдэмыжу щумыгъэт уи нэгу, - УлIэныр щыщIэщыгъуэкъым ди гъащIэм, Ауэ упсэунри щIэу щымыт.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "sergei.txt" }
Исмагьил-Бей (пычыгъуэ) А псым и Iуфэм къуажэ щиухуащ Лъэпкъ пагэ и щIыналъэ кърахуам. Иджы зегъэхьэзырыр махуи жэщи, КъимыщIэу бийм теуэн мурад ищIащи. Къыхохъуэ и гужьгъэжьым махуэ къэс, Къыкъуэувэну хъуар къызэхуешэс. Адыгэпщ ерууэ Рослъэмбэч ЛIыгъэкIи акъылкIи бийм йофIэкI, И щIыр хуит урысхэм яхуищIауэ Фэ зытрегъауэ пщышхуэм, ауэ Езыр жэщкIэ ахэм йобгъэрыкIуэ, Къешэ гъэрхэр зыр адрейм кIэлъыкIуэу, Я щхьэр щыгуфIыкIыурэ пеупщIри, Яхуедзыжыр бгъэхэм ауаныщIу. 3 Тыншщ и пашэу лъэпкъым ущытыну, Зы гуращэ псоми щаIэм деж, Ауэ уи зэфIэкIыр мыкъутэж, Зыр адрейм хуежьамэ пэщIэтыну. Лъэпкъым уепэгэкIыу гу къыплъитэм, Шы мыгъасэу щIидзэнщ зыкъритIэу. УмыIуатэ уи гум илъу хъуар, Псалъэ лейм мымащIэ дэунэхъуар. Лъэпкъым урипашэм, уигу игъэлъ: Псалъэ IэфIым гъащIэ кърегъэл. ЛIыгъэ щызэрахьэм, япэ ищ, Фадэм хуэмыфащэ пщIэ хуумыщI. И щхьэр зыхуигъэщхъыр бгъэпудынщи, Пэплъэ уи блэгущIэтым и удыным. ЩхьэзыфIэфIу лъэпкъыр умыгъасэ, Зыщымыгъуэзэн щумыгъэгъуазэ, Куэдым щхьэкIэ мащIэр къыхуэгъэгъу, Уэрыншам кIуэдыну къыщыгъэхъу. Сабийщ лъэпкъыр, фIэмыфI зэхимых, Къытумых иIыгъыр, къеIыхыф… 4 ШынэхъыщIэ иIэт Рослъэмбэч. ЩIыпIэ жыжьэ зэрыщыIэм фIэкI Зыри химыщIыкIт абы и гъащIэм, Щилъагъуну махуэм хуэмыпIащIэт. Къэжэпхъа къудейуэ Исмэхьил, ЗыкIэричри, узу щытми ил, Адэм игъэкIуати урыс хэкум, ЖаIэрт зыщигъасэу абы IэкIуэу, Я щIэныгъэр иджу къаIуэтэжт, Ауэ щалъхуа хэкум къыхуэзэшт, Псэут мыбыкIэ и гур къэгъэзауэ. Ар къауц тепIэным хамылъхуат, Гущэм щIиупскIами хэмыхуат, Къыхуэхъуари гущэкъу уэрэд закъуэ Жьапщэ тIысыпIэншэм и къугъ макъырщ, Япэу зыIуплъари уафэхъуэпскIщ, Губжьым игъэлыгъуэ уафэ къуэпсщ. ЗыукIыну къуэшым IэщIэкIауэ Адэр куэдрэ зыщIэса бгъуэнщIагъым Къыщалъхуат жэщ гуэрым Исмэхьил. Аслъэныгур абы и бгъэм илът, Псэм хуимытыж гъащIи къыпэщылът. 5 Имыгъуэу къытехьати мы Дунейм. Абы щыгуфIыкIар и закъуэщ уафэм. ЗыхимыщIа и IэфIыр анэ бгъафэм, ГугъапIэ псэм хуэхъуари къэщIэгъуейщ. Абы жьэгу пащхьэу иIэр щIакIуэ щIагъырт, И нитIым я зекIуапIэри Шыхулъагъуэрт. Ар лъакъуэ здынэмысым къыщыхъуат, ИмыщIэу хэгъэзыхьи, къыпаубыди. Есати пшэ гуэрэнхэм къащхьэщыту, И гугъэт щIым щекIуэкIыр нэм къыфIэщI. Къуршыбгъэхэмрэ къырхэмрэ я закъуэт А цIыкIум и псэукIэр зыгъэзахуэр. Ар къыхуалъхуат гурыщIэм я нэхъ иным, И лIыгъэри шынагъуэм хуэхьэзырт, И адэм къуэувэнури а зырт, АрщхьэкIэ иутIыпщат лIы игъэхъуну. Езым и бийм сабийри щихъумэну. Ехами абы лъандэрэ псы куэд, Хъыбар къэIуами уи гур хигъэхъуэну, ЩыIакъым Исмэхьилым хуэза гуэр. 6 ЖылэщIэр щызэхэсщ псы гъунэм, Зей жыгым ар къаухъуреихь, И щыгу къурш бжэным къыщакIухь. ЕгуэшэкIащи нэпкъым унэр, Дэтхэнэ зыри ходэIухь Псы даущ макъым, пшэм и кIуэкIэм, И бзийхэм дыгъэ къыхукъуэкIым, Щалъхуа щIыналъэр и гум къокIри Дэтхэнэ зыри хэтщ бэлыхь. Мыбдеж сабийхэм къыщажыхь, ЦIыхухъухэм Iэщэр щагъэкъабзэ, Я закъуэу унэм щIэсщ цIыхубзхэр, Тхьэм ещIэ я гур зыхуэхъуапсэр - Псэр игъэхыщIэу хаш уэрэд. Щыгъупщэу Iуэхур адыгэлIым Зэми гупсысэр къытекIуэнт, Щыхутэжынти и щIыналъэм, Нэгу щIэкIым и гур хигъэхъуэнт: Абы уэсэпсыр щынэхъ къабзэщ, Нэхъ щхъуантIэу удзри къыщотэдж, КъыщыппэджэжкIэ джэрпэджэж, КъызэщIеIэтэ гущIэлъапсэр. Абы пшэ данэр щохъу лъэмыж, Зы щыгум икIрэ адрейм кIуэуэ. ЛIым и гур зэхихыжу къоуэ, Ар зишыIэну хуэмеиж… 7 Зэманыр макIуэ апщIондэху, Къихьащ нэщI мазэри арыххэу, Тхьэм хуигъэлажьэу псэр зэрыхьу, Мэжджытри Iуащхьэм къыщонэху, Къыщоблэ бгыщхьэхэми мафIэ И вагъуэу щIылъэм, ауэ мазэр Абыхэм пфIощI къащыдыхьэшх. ЩIыгу вагъуэм батэр ямыгъэш, ИтIани уи псэр ягъэхуабэ, И гъуазэщ жэщыр зи зекIуапIэм, И лъагъуэ тыншу пхрегъэш, ЗэфIэкIуэдахэр зэхуашэж. Ар, плъэкIым, мазэм гурыгъаIуэ! 8 Куэд щIащ шыгъажэр зэриухрэ, Фочауэ макъи щымыIэж, И шыкIэпшынэр триухуэу ДжэгуакIуэр мафIэм IуотIысхьэж. Къаухъуреихьыр щIалэгъуалэм И уэрэд гуакIуэр къыдаIыгъыу, ЖьакIэху нэгъунэ къоувалIэ, МэдаIуэ, пфIэщIу ит лъэрыгъым, Нэр, жыжьэ плъэуэ, ягъэхъуэпскI. Макъамэ гуакIуэм къыдыщIигъуу ДжэгуакIуэм псалъэхэр егъэпс, Мэлыд бзылъхугъэхэм я нэпс, Сабий гужьейхэр къыдэплъейуэ. ДжэгуакIуэр шыкIэпшынэм йоуэ, Дыжьыни Iэщи кIэрымылъ, И хуитыныгъэр хэтщи илъ - Зыгуэр къэгъуэтыт нэхъ къулейуэ! 9 ШЭРДЖЭС УЭРЭД Пщащэ Iэджэ исщ ди хэку, Жэщ мазэгъуэр щIэтщ я нэгу. IэфIщ абы я лъагъуныгъэр - Нэхъ IэфIыжкъэ хуитыныгъэр! Фыз къыумышэ, си щIалэфI, ГъащIэу къуитыр зыщ. Фызым щIэптымкIэ нэхъыфIщ Уэ къэпщэхум зыш! * * * Фыз, мыдаIуэу, къэзышар И щыуагъэм хуэзэжащ, Iухьэфынукъым ар зауэм, Ебэкъуэну фызым дауэ? Фыз къыумышэ, си щIалэфI, ГъащIэу къуитыр зыщ. Фызым щIэптымкIэ нэхъыфIщ Уэ къэпщэхум зыш! * * * ШыфIым лIыр къимыгъэщIэхъу, МафIэлыгъэм къыIэщIех. Йолъэт, губгъуэм ихьэу щытым, Щхьэщолъэтыр пцIащхъуэу щIытIым. Фыз къыумышэ, си щIалэфI, ГъащIэу къуитыр зыщ. Фызым щIэптымкIэ нэхъыфIщ Уэ къэпщэхум зыш! 10 Мо гупыр сыт щIызэрызехьэр, ЩыгуфIыкIыжу къашэр хэт? КъэувыIэжащ, зэлъыIуокIуэт, Пщы Рослъэмбэч утыкум къохьэ, ЩIалэ мыцIыхури къыбгъэдэтщ, И щIыб къыдэтхэр и блэгущIэтщ. И нэгур пщым зэхокI – зэхохьэ, Гум щыщIэр игъэпщкIуну хэтщ. Зэрыщытам емыщхьу мэIур Нэр зэмыдаIуэ пщым и макъыр: «ХамэщI щыIа си шынэхъыщIэр КъытхуэкIуэжащи, Тхьэм и фIыщIэщ, КъэфцIыхужакъэ Исмэхьил? Игъэгъуэщакъым абы илъ. Бийм и жьэгу пащхьэ къыщыхъуами, ХамэщIым махуэ теплъэ хъуакъым, Гужьгъэжьыр мафIэу и гум илъщ». 11 КъыщоIу аузым, гур хигъахъуэу, КIий макъыр, пыIэхэр щхьэрах, ЯIэт сабийхэр, зэIэпах, Къэунэхужар ирагъэлъагъуу. Пщы щIалэм я нэр тедияуэ Бзылъхугъэ цIыкIухэр хощэтыкI. Дэнэ щыхэтыр Рослъэмбэч, Мы гуп дыгъэлыр къигъэнауэ? Лъэпкъым и дамэу ар щытауэ ЗыщIэж щымыIэ езым фIэкI, ЩIэупщIи гупым яхэмыт. Ужьыхыж мафIэм ар щхьэщытщ, Губжьыр и бгъэгум щызэщIэнэу. Хэт и гугъэнт ар къыдигуэну Бийм и гъэсэн мо щIалэжь цIыкIум. Щхьэ ящыгъупщэу пIэрэ цIыхум, Ар яхэмытым, къапэщытыр? ИIат ар лъэпкъым тхьэ пэлъытэу. Щагъэгушхуэнум деж сабийхэр, Абы и лIыгъэрт я щыхьэтыр, И ныбжь къудейм щышынэрт бийхэр. Иджы а псори кIуэдыжащ, Къэщэщэжащ зы напIэзыпIэм. ЩIэщыгъуэ лъыхъуэу ежьэжащ ЗыщIигъэлIэну щыта лъэпкъыр. Ар ишэчынуи и къалэнкъым. ЗыхэзыщIам зэгуэрым фыгъуэр ЩымыIэ ар щхьэщызых фIыгъуэ… 12 Зауэ!.. А псалъэр къупщхьэм пхокI. Абы аргуэру хузэфIокI Игъэтхытхын щIыгу псом и щIыфэр, Щигъэбэгъуэн дунейм лъы щIыхуэр. А макъыр къуршым жьэхэуам, Золъатэ и гур тафэтесым, Холъэтыр бгъащхъуэ уафэм щесыр, А мафIэм и жьыр къыщIихуам. Зауэ!.. А псалъэм къегъэушыр Лъэпкъ хэжеяри, мыви, къурши, Щхьэфэцу мэзхэр егъэтэдж, УэрэджыIакIуэм епщIа къуажэм И зэхуэс IэфIри екъутэж. ЦIыхухъухэм Iэщэр ягъэзу, Iуагъэщту бзухэм я уэрэдыр, Шы щIэджэгукIхэм мэшэсыж, КIэлъыгъ сабийхэр IуагъэкIуэту. Лъыгъажэм ахэр хуэхьэзырщ, Абыхэм я гум илъыр зыщ: Адэжьхэм я кхъэр зыхэт лъахэм Къыхуэхьыжынырщ хуитыныгъэ. Апхуэдэ гъуэгу езыхулIахэр, Къапэреувыт, яIэм лIыгъэ! 13 ЩIымахуэр йокI, къехъуэпсэкIыжу. Уэс нэхур псыуэ мэжэбзэж. Пшэ щхьэхынэжьхэр йокIуэсэкI, ЩIы фIыцIэм фагъуэ щIэхъукIыжу. Зэхолъэдэжри псыхьэлыгъуэр, Къуршыпсым и бгъэр кърагъэкI. Толъкъунхэм пшэр къызэранэкI, Щытхъу я гъуэгуанэм къыщалъыхъуэу, АтIэми щыму къыхуоплъых Псы уэрым псори зыщIэ къуршыр. Зэрыщыта псы цIыкIур хъужым, УкIытэжынущ, зигъэпщкIужу. Ар зыхуэкIуэнур илъагъуху, Къуршым ауаныр къыфIыдеху Бгъэ щэхурыкIуэхэм я макъыу. Щхьэщыгум итщ псей закъуэтIакъуэ, Жьы къепщэм, хъууэ бауэкIэщI. Я лъабжьэ пцIанэр хэукIащ Къырым и дзажэхэм Iэпхъуамбэу. Болъагъур зэми нэщхъей хъуауэ, ЩIэмыдэIужу уафэ къащхъуэм, - Къеузыр жыгым и псэм къащIэ. Зым лъэмыкIынур зыхулъэкIри, Псей закъуэм ещхьу, нэщхъей хъунщ, Езым къарукIэ къыпэхъун ЗэрыщымыIэр къехьэлъэкIыу. 14 Ящыгъупщауэ зыгъэпсэхур, Бгырысхэм хьэлъэ кърахьэкI. И зы гъуэгу закъуэр ауз зэвым Мывэ сэрейкIэ зэпрахукI. Зэрыгъэгушхуэу йогупсысыр: «Мыбдеж ди бийхэр щыгъуэлъынщ». Гъунэгъу къэхъуакIэщи урысхэр, Я Iэщэм уафэр къыполыд. Зэхуэс ищIауэ Рослъэмбэч ЖиIэну псалъэхэм мэлъыхъуэ: «ЗытIэжьэ хъунукъым афIэкI, Бийм дытеуэнущ, жэщ зэрыхъуу. И щIыб гъуэгу щэхукIэ дыдыхьэнщ, КъыхуэдгъэкIуэну лъапсэрыхыр. Хьэм къилъхуа къомым едгъэщIэнщ Къытщыхьэм фIы зэрыщIимыхыр, Ауэ псом япэу мыри тщIэнщ: Ди бийхэм лIыкIуэ педгъэжьэнщ, Къащыдгъэхъуну дагурыIуэу. Дгъэбэлэрыгъмэ – я гущIыIум Дихьэнщи, джатэр щыдгъэбзэнщ!..» 15 Абы жиIам мыарэзыуэ Пэмыува блэгущIэту зылI. Къыхалъхьа Iуэхур къемызэгъыу Къэзыгъэувыр Исмэхьилщ. И джатэр дыгъэм пигъэлыду, ЩIалэм и нитIыр егъэхъуэпскI, Игу пIейтеищэр къыдилъэту Абы къыхехыр псалъэ къэс: «СымыхъунщIакIуэ, гъуанэдэуэу Си бийр хэзгъащIэу семыса. Къысхуиухам сыхэкIуэдэну, Зэхэуэ гуащIэм щыстынщ псэр. Урысхэр сэри си хьэрэмщ, Нэхъ яхуэпIащIи къэбгъуэтынкъым, ИтIани, жысIэу щхьэр схъумэнщ, Пщым и цIэ лъапIэр згъэпудынкъым! НэхъыфIщ ди лъахэм тхэлъу лIыгъэ Къыхуэтхьыжыфым хуитыныгъэр!..» Зэхэтхэр поплъэ, хъуауэ щым, Щызэпыджынум зэкъуэшитIыр, Ауэ нэхъыщIэр щхьэщокIуэтыр, Адрейм и джатэр хеIур щIым! 16 Псэр егъэтхытхыр ШейтIан бгым, ФIыцIагъэр хуэдэщи къехын. Ар къару фIыцIэм и IэщIагъэу Хъыбарыжь гуэрхэм къаIуэтэж. Мы бгыр зыухуэм и гугъэжт Щиухуэу абгъуэ уафэ щIагъым, Ауэ шейтIаныр щхьэзыфIэфIт, И шабзэ закъуэр махуэ гуэрым Иригъэпщати бегъымбарым, Ар къыхуэхъуащ арыххэу хуэфI: Тэлай мычэму илъэс щищ Иригъэхьащ бгым еIулIауэ. Къагъуэтыжащ шейтIаныр лIауэ. ИгъэткIури дыгъэм, хыхьащ бгым А угъурсызым и фIыцIагъэр. ФIыцIэщ а джабэм къыщIэж псыр, ФIыцIэщ и щыгум ихьэж лъагъуэр. Бжьакъуэшхуэ хъужу щыхь абрагъуэм Удз хьэсэ фIыцIэм къыщежыхь, ЗеутхыпщI, уэсэпсыр кIэрыщэщу, Зу макъ ткIуэпс лъейхэм иригъэщIу, ИтIанэ йолъэ, ещхьу шым, КIэнауэ куум, хэхутэу банэм. ХуопIащIэ ар и хуитыныгъэм, ИфыщIми и бгъэр къимыгъанэу, Щыгугъыу Тхьэм кърита лIыгъэм. Ар зэкIэ нэм имылъагъу гуэрым Къимыгъэшам – щыхупIэм кIуэнут!.. 17 Бгы фIыцIэ лъапэм хэт щызэшыр ЗэщIигъэнауэ пхъэ гъур мафIэ? ЩэIужу мафIэм зеухыжыр, Зы гухэлъ гуэрхэр игъэсыжу, Щхьэщыт кIыфIыгъэр зэкIэщIеху. Чыцэ нэщхъейхэр къегъэнэху. Бгы лъапэм, и щхьэр телъу мывэм, Щопсалъэ уафэм Исмэхьил, МэхыщIэ и псэр, мэуз ил. Хуэхъунур гъусэ абы Iэджэт, Темыгушхуауэ аращ зэкIэ… 18 Мырат игъащIэм ар зыщыгугъар? Къигъуэтыжати и псэр зылъыхъуар, Тхьэм хуищIырт фIыщIэ а гъуэгуанэм щхьэкIэ, Дунейри зэпцIагъащIэ къыщыхъуат, Жэнэт курыхыу къыфIэщIат, арщхьэкIэ Нобэрей махуэм ар къегъэщIэхъуж, КъызэрытекIуэм шынэхъыжьым фыгъуэр ЗэшитIым я къарур егъэкIуэдыж, ЕщIыжыр тхьэмыщкIагъэ къулеигъэр. Гухэлъыр узу зытехьэлъи щыIэщ, Ар и гум къищхьэрыуэмкIэ мэпсэу. Къыпщигъэхъунщ апхуэдэм мафIэр щIыIэ, Гъэгъа гущIыIум банэ щыхисэнщ, Игъэлъэгъуэным щхьэкIэ зэрытепщэр. ИужькIэ гуныкъуэгъуэу абы къепщIым Щыгъуазэ дунеишхуэм къыщыгъуэт. Мыпхуэди зэманыжьым къыщыхъуат: Игъэлъэгъуэну зэрефIэкIыр хым, Хидзат пщы гуэрым налмэс кIанэ псым, АрщхьэкIэ мывэ лъапIэр толъкъун пагэм, Хикухьри пшахъуэм, пщым къыхуидзыжащ! Нэмыплъ зытар нэмыплъым хуэзэжащ, Ауэ къэнащ налмэсым и лъапIагъэр. Тепщэн зи натIэм егъуэт зытекIуэн, Тепщэншэу мыпсэуфым сыт епщIэн? Абы я Iуэхур гурыIуэгъуэщ, ауэ НэгъуэщIхэри къегъэщIыр мы дунейм, Емыщхьу адрей Iэджэхэм, гъуэщауэ. Абыхэм яухуэнт нэгъуэщI дуней. Пэджэжу хым и гущIэм, мэпIейтей, Толъкъуным и пагагъри я пагагъэщ. Нэхъыбэр а зырызым къыхуэмей. ЗащIынщ къыщыгуфIыкIыу и Iущагъым, ИужькIэ ягъэкъуаншэу хыхьэжынщ, Ягъэпудынщ фыгъуэныр зи IэщIагъэм, И вагъуэри абы ирагъэжынщ… 19 «Уелъэпэуащ гухэлъым я нэхъ IэфIым, Дахащэм игу зэшыгъуэр уэ къибнащ. ЛIыгъэншэ! Апхуэдизу ущылIыфIым, КъэкIуа насыпым щхьэ ущышына? Уемыжьэжам умыгъуэтын улъыхъуэу, ЕпхьэкIыфынут гъащIэр Зарэ щIыгъуу. А жэнэт бзум уищIынут насыпыфIэ, Уи гъащIэр гухэлъ IэфIкIэ игъэбжьыфIэу, АрщхьэкIэ ухуеякъым, мис иджы Уи лъахэм къыщыплъысыр уолъагъужыр, ЗыхэпщIэу пфIэкIуэдар, уохъуэпсэкIыж. Иджы гукъэкIыж IэфIхэрщ къыпхуэнэжыр, Абыхэм уэшхыу гущIэр яуфэнщI, АрщхьэкIэ гу гъущIар яхуэмыгъэнщI»… ХигъащIэрт а гупсысэм Исмэхьил, Зы хьэлъэ гуэри мывэу и гум телът, Зэребиижыр и щхьэм хъужт фIэмащIэ. ЩIэпхъуэну зищIт кIыфIыгъэм щыджэгу мафIэм, Шыхулъагъуэм хыхьэжыну къыпфIигъэщIт. Пшэм щоIури, мэкIуэдыж фочауэ макъыр. А псори мыпщIыхьэпIэу щIыт уи фIэщI. 20 Пщы щIалэм мывэм зрегъэщI, Игъэва псори къыщIэкIуэну. И щхьэр и жагъуэщ, и гур хощI ЖыпIэну, мафIэми зегъэшыр. ЩхьэщыкIа Iугъуэм къыхокIуэтри, Къохутэ пщым и пащхьэ ныбжь! Ерагъыу езы лIыр зэфIэтми, НитI игъэхъуэпскIым псэр ялыпщI. УкъегъэуIэбжьыр и фагъуагъым, Щагъэзэгъауэ щIым и щIагъым Къэтэджыжами ар ярейщ. И пащхьэ ныбжьым ещхьу итыр Урыс зауэлIу зэрыщытыр КъыгурыIуащи Исмэхьил, КъыщIыхуэкIуар къищIэну пылъщ. ЗытреIэтыкIыр мафIэ бзийм, Гужьейуэ щIэплъэу пщым и нэгум, Къызэпхыщ губжьыр къигъэнэхуу. ЗауэлIыр щытщ, зимыгъэджалэу, Щышынэ хуэдэкъым ар зым, Зыкъыхуегъазэ щэхуу щIалэм: «ПлъэкIынум, уэ къызэх хьэщIагъэ. Уи лъэпкъэгъу гуп къыскIэлъыпхъэрри, СкъуаукIыкIащ шу гъусэу сиIэр, СщIаукIыкIащ гуузу сишыр, Щытащ сыхэкIуэдэну сэри. СыкъэбукIынуми ухуитщ, Сэ сыщышынэркъым лIэныгъэм! Сызыщыгугъыр уи цIыхугъэрщ». «Шэч къытумыхьэ мис абы, КъэкIуати, мафIэм къетIысылIэ», - Нэщхъейуэ жеIэ Исмэхьил, ХьэщIэ хуэхъуам и нэгу щIэмыплъэу. 21 ЗэщIэдэIукIыу жэщыр щылът, ИгъэкIт бгъуэнщIагъыр бгым тхьэкIумэу. Лыдыжу мазэр пшэхум хэлът, ЕкIуэкI дунейм здимыхь и гугъэу. Зэбийхэм мафIэм зрагъэут, Зы псалъэ я кум къыдэмыхьэу. Щыст Исмэхьил, пфIэщIыну щыгъуэ, И хьэщIэм иплъэмэ и нэгу, ГукъэкIыж щIыIэхэр къыщыхьэу. И урыс хьэщIэм ар йоупщI, АбыкIэ и гур игъэтIысу: «Насып къэкIуэгъуэм уит къысфIощI, Сыт уи унагъуэ ущIимысыр? ЩIыхь мыхьэнэншэм улъыхъуэху КъысфIощI нэхъыщхьэр пщыгъупщауэ: Игъэуна щымыIэ зауэм. Ар къыбгурыIуэу щытмэ щIэх, Къэлъытэ Iэджэ пхуэхъумауэ. Сыт, ди щIыналъэ фыкъихьакIэ, ФлъэкIын фи гугъэр къыдэфIщIэн? Зы адыгэлI дунейм тетыхукIэ Фэ текIуэныгъэр фымыщIэн. Иджы къызжеIэт, си нэм къеплъи: Си хэкум сыт фыкъыщIебийр? Фэ лъэпкъыр мыхъум фызытеплъэ Дэ зэрыхуэтщIыра пщIэ лей?..» 22 «Абдежым икъукIэ ущыуащ, - Урысым жеIэ, пыгуфIыкIыу.- Сэ, уэщхьыркъабзэу, щIы уи фIэщ, Нэхъ ин мо бгыхэм сыщIохъукIыр, Псыкъелъэ макъри си псэм фIэфIщ, Фи мэзхэм си гур яхьэхупэ, Уи лъэпкъми сыткIэ себиин, Ауэ, хузиIэу гужьгъэжь ин, Къыщызолъыхъуэ зылI мы щIыпIэм. Адыгэщ ари, уэщхь зыгуэр Абы хэлъыну си фIэщ мыхъуми. Тхьэ Iуа сэ сиIэу сыкъэкIуащ А щIалэм кърищIар си мыгъуэм Сымыгъэгъуну си псэр пыту! Захуагъэм ар и хабзэу щытым - Ирежэ дязыхэзым илъ! Абы зэреджэр Исмэхьилщ, КъысхуаIуэтащ ар пщым я пщыжу… Уи нэгур сыт щIызэхэуар? Бзылъхугъэм зэ елъэпэуам Си фIэщ мыхъун укъыщхьэщыжу! НыпхуэсIуэтэнум ущIэдэIум, Сигу щыщIэр уилъми хэлъэдэнущ… 23 Иджыри къэскIэ ди лъэныкъуэм Къулыкъу щищIати Исмэхьил, Ар ялъэгъуакъым игу мыныкъуэу: Къыщалъхуа хэкур и гум илът, Къызэпхыпсыжт зэрышэрджэсыр. КъыщIалъытэни ар лIы нэсу, ЯбзыщIкъым, куэдрэ далъэгъуащ. Зэхэуэ хъуамэ, ар къыхэщт, Къеджам и пащхьэ къыщыхутэрт. Абы и хабзэр къэзыхутэм Игъэунэхуар хуэмыухыжт. Абы пэхъун щымыIэ хуэдэт, АрщхьэкIэ зым игъэкIуэдыжт А щIалэр фIыуэ щIалъагъужыр: Абы бзылъхугъэр зым химыбжэт, Къыдихьэхынти – ежьэжынт, КъыкIэлъыгъуэгрэ къыкIэлъыбжэу Е IуэхутхьэбзащIэ ищIыжынт Нэхъ тхьэIухудыр, щхьэхуимыту. Мы щIыпIэм ар щыхабзэу щытми СымыщIэ, ауэ мыхабзэфI. Иджы сопIащIэ сыхуэзэху А щIалэм, лейр сымыгъэгъуну, Ар згъэзэщIэху сыкIуэж мыхъуну!.. 24 Фи дежи пщащэ щыслъэгъуащ, Зэ уIуплъам хьэщыкъ ухъуну, Ауэ дыдейхэм, щIы уи фIэщ, Фи тхьэIухудхэр пэмыхъуну. И нитIыр пщащэм сытым щыщ, Уафэ бзыхьэхуэ къыщIэмыщым. УхэкIуэдакъым уэ щхьэц хужьым, Зэхэпхыу налъэм я даущ, Тхьэ фIыуэ плъагъум къыпхуиIуакъым, ИужькIэ ар хъужакъым пцIы, Армыхъум щхьэ узэзгъэдаIуэр Къысщыхъурэ ирихьэхыу псым. Сэ згъэунэхуащи лъагъуныгъэр, КъэсщIамкIэ уэ сыбдэгуэшэнщ: Къуигъэлъагъу защIэу лэгъупыкъур, Абы щыхупIэм ухуишэнщ… ЩIэхъуар си махуэхэри жэщ, СыщIытехьар апхуэдэ лъагъуэ, Сщыгъупщэжатиращ жэнэт ЗэрыщымыIэр уафэ щIагъым. Къэсшэну сэ зызгъэхьэзырт, Си нэхури къыздэкIуэнут, ауэ СыкIуэн хуей хъуащ зысIэту зауэм. Насып уимыIэм, гугъэр сыт?.. А махуэр зэи сщыгъупщэнкъым, ЗыхэсщIэм гущIэр къресыкI. Уи лъагъуныгъэр къэбгъэнэныр ЗищIысыр дэнэ уэ щыпщIэну… 25 Уунэхъуну щытмэ – куэдрэ. Iуплъащ си мыгъуэм Исмэхьил, Хъуащ мурад щэхур и гум илъ, Къыдимыхьэхыу ар зэгъакъым. Абы и псалъэр хузэгъэкIурт, Ар сытым хуэдэуи фэрыщIт! А псом иужькIэ, IэфIтещIэжу, ЩIэплъэжти и нэм – хьэщыкъ ищIт, Къигъанэрт, ищIэр имыщIэжу. Ар щыщт бзылъхугъэр зыгъэжакъуэм, ИIыгъщ вындыпэ зыхужаIэм. А пцIыIуэпцIышэм дихьэхащ Апхуэдэ щIыкIэкIэ си мыгъуэр. Бзаджагъэ дэнэ кърихынт Дунейм гу щызмыхуа бзылъхугъэм, КъыжраIэ псори хъуащ и фIэщ. Псэр ихьэхуати лъагъуныгъэм, ЩымыIэ и гугъащ нэгъуэщI… 26 Ауэ щIэх дыдэу Исмэхьил IэщIэужэгъуащ бзылъхугъэ цIыкIур. КъыхэкIым Iуэхум зэхуэмыкIуэ, Зигъэбзэхыжу хъунт и хьэлт. Аращ ищIари мыбы щыгъуэм, ГъэпщкIуауэ гъуэгу къытехьэжащ. Иджы дахащэр мэгъу, мэжэщI, Гуауэм къелыну я фIэщ мыхъуу. А щIалэм, дауи, щыгъупщащ Лейр зымыгъэгъу зэрытщхьэщытыр, Апхуэдэ щIыми зэрытетыр Сэр фIэкI хэмыту езгъэщIэнщ, Абы зэгуэр сыхуэзэу щытмэ! И фащэр фIэфIмэ ирехъуэж, ХуэIэзэу ирегъэпщкIу и нэгур - КъыхуэгъэпцIэнкъым абы си гур! Згъуэтрэ – ар лIапIэ изгъэхуэнщ. 27 Уи плъэкIэм гущIэгъушхуэ хэлъщ, Къысщохъу си гуауэр зыхэпщIауэ. Шэч хэлъкъым, уэри узауэлIщ, Ауэ сабийуэ угу щабэщ, Шэч къытезмыхьэ уи Iущагъым… АтIэ, сыхэкIри щэхуу зауэм, СыхуэкIуэжащ си мыгъуэ закъуэм. ЖэщкIэ пщIыхьэпIэм сыхэмыкIт, СымыщIэт си гур щIэгузавэр. Сакъыу бжэщхьэIум сыщебакъуэм, СызыIуплъар си нэгу щIэмыкI: Си дахэм и фэр пыхьэ-пыкIт, Зэм нэпс шыугъэр щIиутхыкIт, Зэми уэрэдыр иришажьэрт, ФIыуэ илъагъум иригъащIэу Арыншэу зэримыIэр гъащIэ. Абы и гуауэр зыхэсщIат, И зы псэхугъуэм псэр щIэстынут! ПщIэ а гухэлъым хуэзмыщIар Дунейм сэ дауэ тезгъэтыну!?» И гур щIэныкъуэм тепсэлъыхьт Къызэрылъэлъу урыс щIалэр. Абы иIуатэм щыщ зы псалъэ Зэхимых хуэдэт Исмэхьил, АрщхьэкIэ Тхьэм и закъуэт зыщIэр А напIэзыпIэм пщым игу щыщIэр. Абы и гущIэр мафIэм ист, Зэм-зэмкIэ и нэхэри плъызт, КъыщIыхьэу щIылъэм и фIыцIагъэр… 28 Флъэгъуакъэ псэ зыхэмытыж Iэпкълъэпкъым Зэрежэр къуаргъыу хэкум ит илъэпкъыр, Дэтхэнэ зыми Iыхьэ къыхихыну Щытам щыпсэум щыгъуэ зыщышынэу? ЗыгуэркIэ уи гур ехуэхауэ щытым, КъепщIынщ гурыгъуу уафэ щIагъым щIэтыр, ИтIанэ, плъэкIым, ахэм япэлъэщ, ПлъэмыкIрэ – уи мурадхэр ятхьэлэнщ. Псэ махэу къигъэщIам сыт хуэпщIэфын? Абы зы гугъуехь закъуи хуэмыхьын. АрщхьэкIэ щыIэщ зыми хуэмыкъутэ, Апхуэдэм и псэр гуауэм ещI нэхъ быдэ!.. 29 Нэху мэщыр, бгыхэр къыщIощыж, ТIэкIу зыхуагъафIэу уафэ къащхъуэм, Зэрыхуэгушхуэр ирагъащIу, Щхьэм пшагъуэ мащIэр трахыж. ШейтIан бгы лъапэм щыблэ мафIэр, ЩыукIытэу пшэплъым, мэхъу фагъуафэ, Зэ и щхьэр къеIэтыжыр, хъуапсэу, ЛIэуэ телъ цIыхум ещхьыркъабзэу. Пэджэжу и нэгу фагъуэр мафIэм КъызэфIоувэ Исмэхьил. Абы и нитIыр ещхьщ лъыхъуакIуэм, Ауэ гупсысэм лъахъэ илъщ. Хуэдэ лей псори илъэщIыж И нэкIум Iэгур ирегъакIуэ, АрщхьэкIэ гуауэр къыщIощыж… 30 КIэлъыплъу мафIэр егъэужьых. Хэтщ ар и хьэщIэм дэкIуэтэну. Урысым ищIэркъым ищIэнур, Бысымым ар химыгъэзыхь, Ауэ и хабзэр гурегъаIуэ, Модрейри мэхъур арэзы. Иджы а тIур къытощ бгы лъагъуэм, Iэр къамэ Iэпщэм трамых… Бзу къуацэкъалэм хэлъэтыху Урыс щIалэжьыр мэхъур фагъуэ. Куэд мыщIэу и бгъум къуршыпс Iэлым Урыс шэтырхэр къыщонэху, ПфIэщIыну къыухэм загъэпсэху. Игу мэпсэхужыр урыс щIалэм, ГурыщIэр и бгъэм мэхъур щыз. Зыгуэр иджыри иIуэтэнут, АрщхьэкIэ псалъэ къылъымыс: Пщы щIалэм къыфIеблат жиIэнур. Абы игъабзэ урысыбзэм Ирегъэубыд урысым и бзэр… 31 «Гъуэгу махуэ! Сэ укъысхуеижкъым, Шынагъуэ уэ къыппэмыплъэж, Укъэсыжащи уузыншэу, УзыщIыгъу гупым яхыхьэж, Сэри къалэныр згъэзэщIащ, Ауэ уэстынут зы чэнджэщ: Лъы бгъажэу гуауэр бгъэтIысыну Ухуежьэм, уэ ущIегъуэжынщ, ЩIым и гур зыгъэуфIыцIым сыну Уэр гуэрым зы къащIыбгъужынщ. ЩIалэгъуэ дахэр хамэ щIыпIэм ЩыбогъэкIуэдыр зым щымыщу. Пщыр зэхызох букIыну жыпIэу - Аракъэ тыншу къысфIэмыщIыр! Тхьэм иукIыну къыхихам Уэ уи Iэ кIэщIыр лъэIэсынкъым, ПэщIэтыр натIэм къритхам Уи къамэ щхьэкIэ къыпхуэскIэнкъым! Уэ пцIыхукъым, дауи, узылъыхъуэр - Уи пащхьэ итыр Исмэхьилщ. Сыкъэбгъуэтынущ, ухуей щыхъум, Ауэ нэхъыфIщ хъумэжи уил!» ЖиIам Iуплъэгъуэ къыдыщIигъури, Дэбзэхэжащ къритI зэхуакум! Къэнащ урысыр, и лIэн къакIуэу… 32 Хэтыху абыхэм Исмэхьилыр, ШейтIан бгы лъапэм зауэлI гуп Къыщепсыхауэ, зопсэлъылIэ, Рослъэмбэчыжьым хузэгуоп, Пщы щIалэращ зи телъхьэр ахэр, Аращ тепщэгъуэр зыхухахыр, Хуей хъумэ, я псэри щIатынур! ФIыуэ ялъагъур Исмэхьил, Абы и гугъэр диIэтыну Дэтхэнэ зыми и гум илъщ, Ауэ пщы щIалэм къыдэщIыныр А гухэлъ закъуэм къыхэмыкI: Зэгуигъэпащи Рослъэмбэч, Ар я мурадкъым хуагъэгъуну. Пщы ябгэм игъуэщ зищIэжыну! Апхуэдэщ цIыхур: къыщебгъэчым, Нэхъ къыхуэгуапэмкIэ йоуэкIыр… 33 Бгы лъапэм щызэхэс лIы гупым Исмэхьил пэплъэу нэху къатощхьэ. Къох дыгъэ бзийхэр, щIым тегуплIэу, ШейтIан бгы фIыцIэм носри – къощтэ, Пшэ хужь и къуагъым къуолъэдэж, АрщхьэкIэ къызэрогъуэтыж, Ауан защIыжу, къыкъуокIыж. ЗауэлIхэм хашыр я уэрэдыр, И псалъэ къэс епхауэ гугъэм, Псэр зыхуэхъуапсэ хуитыныгъэм. ТекIуэнхэщ, къахуэмыкIуэм кIуэдыр! 34 ЖимыIэу псалъэ, нэщхъей защIэу, ЩызекIуэу и нэр уафэ лъащIэм, ЩикIукIт лъэныкъуэкIэ зы щIалэ. Ари зыпэплъэр Исмэхьилт. Ажалым дежкIэ ар къабзэIуэт, Гъэгъам щIэт плъыфэрт зэщхьыр илъ. Щхьэ нэхъ къищта абы и закъуэм, Щхьэ гупым яхэкIыну пылъ? ЩIалэщIэм щэхуу укIэлъыплъым, Зэрымызагъэм гу лъыптэнт. Зэм щхьэусыгъуэншэу хэлъэтынт, Зэм увыжынт, гъуэз мащIэм пхыплъу. А щIалэ цIынэри къэкIуащ, Лъы зыгъэжэнум хэувэну. Апхуэдэм хуэукIын къэзакъ, И къамэр цIыхум хиIуфыну? Абы и нитIыр зыхуэщIар ЩIэплъэнырщ и нэм лъагъуныгъэм! Сыт-тIэ апхуэдэм къыщилъыхъуэр Я деж зэуэным къыхуалъхуам? Псалъэ хьэлэлу хуэмыIуатэрщ А щIалэм и бгъэр къэзыIэтыр. Гур нэхъ къабзэхукIэ, нэхъ щIалэху Нэхъ быдэу ехъумэж и щэху, Гухэлъыр къыфIыщIыхьэу и нэм, Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ – мэшынэ НэгъуэщIым ар зыхимыщIэнкIэ. Арщ, имыбзыщIым лIэм и гъунэу, Сэлим и щэхур къыщIрихьэкIыр… Шэрджэсхэр ЗэзыдзэкIар Ацкъан Русланщ I Къуохьэжыр дыгъэр, къеплъэкIыжу, Аузыр жэщым хуэхьэзырщ. Мэужьыхри пшэплъыр, мэуфIыцIыжыр. Гухэлъ зэщIэлъым и чэзущ. Бгы задэм пшагъуэр кIэроувэ, Щэху щIыIэр уэхым хошыпсыхь. ЯбзыщIу щIым зэрытеувэр, Къурш бжэнхэм лъагэу къыщакIухь. Бгы нэкIум Iэщ щумылъагъуж. И нэр кIыфIыгъэм къыщылыду, КIэнауэм зэпрож дыгъужь. ЩакIуэ емышыр, хьэджафитIыр ЩIагъэIа щхъуэжьым итщ и ужь, Зэрыгъэгушхуэу, зыр зым тож. Щытщ мэзыр, и щхьэм щIэгупсысу. Мо щхьэукъуэным нэсыпар, Жьыбгъэ къуейщIейр къызэреIусэу, Къыхощт, и фIэщу зигъэгусэу, Щхъыщхъ макъыр щIым щызэлъищIысу МэхъущIэ ар, темыпыIэж. Къежыхьыр жьыбгъэм сэхъуа бынщи, ЕмыдэIуэжу зыутIыпщам. ПщIыхьэпIэм къыхоIукI жыпIэну, КIыгуугум жыжьэу макъ щегъэIу, ХигъэщIу уи гур, зэм мэщэIу. Къуаргъыжьри ныбжьу тесщи жыгым, Дунейм щIокIие, димычыхыу. Щожэх Тэрчыжьыр нэхъ жыжьэIуэу, Мы къекIуэкI къомым щIэмыдэIуу, Езым и Iуэхур зрехуэж. Мывэжьхэр зэм зэрегъэунтIэIур, Зэм кIыхьу и щхьэ хуопсэлъэж. II Нэхум и бийхэр игъэгуфIэу, Аргуэру уафэм зыкъеуфэ. Жьыбгъэ джэгуакIуэри хьэзырщ: Мы дуней псор щIэдэIу и гугъэу, Удз гъущэр нэпкъым щегъэзу, АрщхьэкIэ бэкIэ зыщыгугъыр ЩIы щхьэфэм фIэкI зэхихкъым зым. Бгы щыгум мафIэхэр къыщоблэ, Абы къэзакъхэри щызоплъэ, Жэщым щылыду я мыжурэр; ЩIэх-щIэхыу йоджэ зыр адрейм, Къыхэщту, пабжьэр жьым дэхъейм, Бэлэрыгъари щIегъуэжынущ: Шэрджэсым теплъэкъукI имыщIэ – А гъуамэр сыту гъунэгъущэ. Плъэгъуа къудейт псым адкIэ щыIэу, Иджы къыпхеIу и къамэ щIыIэр, Абы уи лIэгъуэр къигъэсащ. УаIуплъэжынукъым, къэзакъ, Уи лъахэ дыщэ фIыуэ плъагъум, Гур зыхуэпабгъэ уи унагъуэм. III Мэз Iувыр уафэм худоплъей, Сымаджэм ещхьу, хэщэIукIыу, ЩIы щIагъым къыщIэIукI нэхъей, Щхъыщхъ макъыр тхытхыу зэпрыкIыу. Жыгеижь щIагъым щотIысэх, Шым къепсыхауэ, шэрджэс гупыр. Зыгуэрхэр хохьэ пхъэ гъур щыпэ. Абыхэм пхъэ кърахьэлIэху, Лэгъупыр зыфIадзэн хасэху, Адрейхэм хашыр псалъэмакъыр, Драмышейуэ, ещхьу сакъым. Арыххэу мафIэр къызэщIонэ, И хъуреягъыр къигъэнэхуу, Иплъыхьу нэгу къэсыху гупсэхуу. Зэрыщу нэху ягъэункIыфIыну И фIэщ а мафIэм хэт хуэщIыну? Шу хъыжьэ жэщым епэгэкIхэм Я Iэщэ-фащэр холыдыкI. Шэрджэс лIыхъужьхэм я гукъэкIхэм МафIэм и бзийхэр къыдоудж. IV Шу хьэлэмэтхэм ящыщ зым И афэ джанэр дыжьын защIэщ. Абы бейгуэлхэр бгъэдэсыжщ, Хабзэу ирахыр яфIэмащIэу. Адрейхэр гупурэ зэхэсщ, Нэхъ пэгъунэгъуу мафIэ джэгум, Гум илъыр къищу щхьэж и нэгум. Зыгуэрым щэхуу уэрэд хеш, НэгъуэщIым фочыр егъэкъабзэ, Зэм-зэмкIэ жэщым тригъапсэу. КъызэфIоувэ мафIэр, пIэнкIыу, ЖиIэпу хэту и гукъэкIыр. Шэрджэс пщы хъыжьэри къотэдж, ЗиIэжьэжынукъым афIэкI. Мыращ и псалъэр пщым я пщыжым: «Си къуэшыр нобэ дэ тщIымыгъу, Урыс быдапIэм ар щаIыгъщ, Ирахкъым жэщи махуи лъэхъур. Зэгъэнкъым си гур, си лъэпкъэгъухэ, Хуит анэкъилъхур къэзмыщIыжу. V Ар пщIыхьым сэ къыщысхуэкIуащ. Ит хуэдэт, мыр къызжиIэу, пащхьэм: «Сыкъебгъэлынум, къысхуэпIащIэ. Зы жэщ нэхъ мыхъуми уэ зыпIэжьэм – УимыIэжынум щыщ сыхъуащ». Ар жиIэщ, гугъэу къызэплъыжри, Си шынэхъыщIэр бзэхыжащ. Сытэджри, фщIыгъуу сыкъежьащ – Згъэзэнкъым, хуит ар къэзмыщIыжу. Фи лIыгъэм си щхьэр хузогъэщхъ, Ауэ зыгуэркIэ фыщIегъуэжым, Фи жьэгу вгъэзэжмэ нэхъ къэфщтэжым, ЗыкIи си жагъуэ сымыщIын. Си закъуэу щытми, сыпежьэнщ Си натIэ итым. Ар къызоджэ. ЛIэныгъэрауэ ар къыщIэкIым, ЛIым зэрихабзэу, гъащIэр стынщ, Бий куэдым я псэри здэсхьынщ. Сыщыдыхьэнур я быдапIэм Ирехъу урысхэм я кIуэдыпIэ!» Щым хъуащ, ар жиIэри, пщы Iэлыр, И пащхьэ итхэм я нэм щIэплъэу. «Ирехъу урысхэм я кIуэдыпIэ!» - Пшэм хыхьэжащ и макъыр гупым. VI КъуэкIыпIэр пшэплъым ириIащ, МахуэщIэр уэгум къызэпхопсыр. Щыщынур нэху къыхуэмыгъэсу, Адакъэр, зиукIыжу, Iуащ, Пшэ хужьхэр, нэр щIрагъэлъафэу, Мэз щIагъэхъаем къыщхьэщытщ. КъыпфIэщIрэ пэт зихъуэжыгъуафIэу - Мы дунеижьыр зэрыщытщ. Зыкъызэкъуахыр дыгъэ бзийм, Йозауэ джэгуурэ кIыфIыгъэм, Ирахури ныбжьхэр щхьэхьу губгъуэм - Езыр я лIыгъэм йохъуэпсэж, Пхуэмыубыдыжу къызэрокIыр, ЩIы фIыцIэм хохьэ, псыми пхокIыр. Зэтож Тэрчыжь и Iупэ пIащIэр, Акъужьыр щабэу къепэщэщу. Нэхущ икIи къабзэщ уафэ лъащIэр. Вагъуэ цIыкIу къомыр кIэрыщэщри Дыгъэм и закъуэ къыхуэнащи, А зым щогугъ, а зыр егъафIэ. А хуабэм щыщ къыщылъэIэсым, Мэуври лъапэпцIийуэ мэзыр, И тхьэмпэ гъущэхэр къегъафэ. Нэм имылъагъу къарум ипхъуатэу Тхьэмпэ зырызхэри золъатэ. КъыпфIощI дунейм темытурауэ Тхьэмпэ лъэтам нэхъ Iэуэлъауэ. АрщхьэкIэ йолъ, иIэту сабэр, Шу гуп мэз лъапэм къыщежьар. Урыс быдапIэр зытет джабэм КIэрохьэ, ещхьу бжьэ къэпщIам. VII Щытам аратэкъэ махуэщIэм, КIыфIыгъэр зэригъэткIум ещхьу, ИгъэкIуэдыфу гуныкъуэгъуэр, Шынагъэ щIыIэ ди псэм егъур. Нэгу щIэкIа пщIыхьыр кIуэдыжащ, Япэрей бзийхэм япхъуэтэжри. Гур зыгъэныкъуэрщ къэнэжар, Имыгъэбауэу гукъыдэжыр. КъыщоIу быдапIэм Тхьэгъуш макъ, Пшэ щIэкIуэсыкIхэм яхыхьэжу, ЩIым къриIуэкIыр нэхъыбэжу… БыдапIэр сытым дежи сакъщ. Къэзакъхэр йоуэ бэрэбаным, Ягъэлъэгъуэну я къарур. Сэлэтхэр ещхьщ хьэ зэщIэбанэм, Щыпэджэм деж, лъэкI къамыгъанэу, Унафэр зейм и макъ жьгъырум. Езым и гъащIэмкIэ быдапIэр, Сыт щыгъуи хуэдэу, мэпсэуж. Плъыращи, хэт зегъэпсэхуж, Хэти бгы щыгур и зекIуапIэщ. Сэлэтхэм ящIэм йоплъ нэгъуэщIхэр, Члисэм макIуэхэр нэхъыжьхэр. Апхуэдэ защIэу кIуэн къыпфIэщIт, АрщхьэкIэ пшэхэм ящIыр нэщхъ, Арыххэу дыгъэр къуелъэфэжыр. Иджы уэгу лъащIэм зыкъегъэщхъ, КъызэфIищIэн хьэзыру уэшхыр. VIII ЗэбгрокIыжыр урысыдзэр, Я фочыр я плIэм ирадзэжу. Гъуэгущхьэ сабэр къигъэтэджу Ялъагъури зы шу гуэр къахуэжэу – ЯфIэмыфIыщэу къагъэзэжыр, Къэблагъэм нэр яфIытеплъызэу. Шур къожэ, шынэу зэплъэкIыжу. Зы ещI и къэси и къепсыхи. ЗоплъэкI щIэх-щIэхыурэ, кIэзызу, КъыкIэлъыса къыфIощI къэзыхур. Зыхуигъэзауэ псом нэхъыщхьэм, И макъ кIэзызымкIэ къепсэлъ: «Къыхуэблэгъащ шэрджэсхэр бгыщхьэм. Я губжьым мывэхэр къегъэплъ, КъыздэкIуэм чыцэр ягъэгъуэлъ! КъаIэщIэсхащ ерагъыу си щхьэр». VIII ЗэбгрокIыжыр урысыдзэр, Я фочыр я плIэм ирадзэжу. Гъуэгущхьэ сабэр къигъэтэджу Ялъагъури зы шу гуэр къахуэжэу – ЯфIэмыфIыщэу къагъэзэжыр, Къэблагъэм нэр яфIытеплъызэу. Шур къожэ, шынэу зэплъэкIыжу. Зы ещI и къэси и къепсыхи. ЗоплъэкI щIэх-щIэхыурэ, кIэзызу, КъыкIэлъыса къыфIощI къэзыхур. Зыхуигъэзауэ псом нэхъыщхьэм, И макъ кIэзызымкIэ къепсэлъ: «Къыхуэблэгъащ шэрджэсхэр бгыщхьэм. Я губжьым мывэхэр къегъэплъ, КъыздэкIуэм чыцэр ягъэгъуэлъ! КъаIэщIэсхащ ерагъыу си щхьэр». IX Псом я нэхъыщхьэр утыку къохьэ, Сэлэтхэр блыну егъэув. Адрейхэр псори зэрызохьэ, Шынащи, гъуэгу къыхамыхыф. Зыгуэрхэм куэбжэр ягъэбыдэ, НэгъуэщIхэр пIащIэу шым мэшэс, КъамыгъэкIуэну зы шэрджэс, КъимыкIуэтыну я псэр пыту. Шэрджэсхэм губгъуэр яуфэбгъу, Аслъэну нэхэр ягъэутхъуэ. Къэзакъ зыбжанэ хьэдэ мэхъу, Къэнахэр, зыкърагъэлу, щIопхъуэ. АрщхьэкIэ топыр хъуат хьэзыр - Урыс топышэр бийм яхохуэ, Шэрджэс гупышхуэ щIылъэм тохуэ. ИтIани игъэзакъым зым. Щхьэщыгум джатэхэр щолыдыр. Урыс сэлэтхэр ириуду, Зреч уIэгъэ хъуа шы хъыжьэм, Тесар къилъыхъуэ фIэкI умыщIэу. ЩэIу макъыр дэнэкIи къыщоIу, КъыпфIэщIу дунеижьыр щэIу. Х Ягъауэ топыр, щIыр дэхъейуэ. УIэгъэр, уафэм худэплъейуэ, Зыгуэрхэр хуэму къеIущэщ. Арыххэу и нэр щIилъэфащ, Лъэтащ нэху гуэр, къыхэкIри и пкъым. Щытауэ къыщIэкIынщ ар щыпкъэу… Игъабзэу джатэр, нэгъуэщI зы Урыс сэлэтхэм йобгъэрыкIуэ, АрщхьэкIэ ари жыжьэ мыкIуэ, Бжыр къыхаIуащи – покIыр псэм. Лъыр кърикIыкIми и уIэгъэм, Игъэгушхуэну хэтщ ныбжьэгъухэр, Езыри фочымкIэ мэIэбэ, Хуехь къарууншэу кIакхъум Iэпэр… Фочышэр дэнэкIи щофий, Топышэм еджэу къыпфIэщIыну. Мы щIым лъы пщтыру зыщIифар Адрей лъэныкъуэм щыпхыкIынущ. Зэхэуэр блынхэм йокIуэталIэ, БыдапIэм дэсхэр мэкIэзыз. Шэрджэсыр лIыгъэ хэлъу малIэ, Щыхэлъщ зэхэуэми нэмыс: Уи щIыб къыдыхьэу къопыджынкъым, КъыщIэплъэу уи нэм къозэуэнщ. УтекIуэу щытмэ – къохъуэпсэнщ, КъыптекIуэ хъурэ – къыпщысхьынкъым. Егъабзэ джатэр шэрджэс хъыжьэм, Къэзакъхэр шыбгъэкIэ ирихыу. Бийр къигъэнащ ищIэн имыщIэу, Зэхэзехуэн ищIащ арыххэу. Абы фочышэр къегъэпцIэф, Ар пфIощI шабзэшэми имыщтэ. ЩIолъэт къэзакъхэр, абы щыщтэу, ЯIуплъэм – джатэр яIэщIоху. Зэ бэкъуэжам – нэсынут куэбжэм, АрщхьэкIэ гупым къаухъуреихь, Лъэныкъуэ псомкIи къаудыныхь, КъыхеIу абы зыгуэрым и бжыр. Ар шэрджэсыпщым лIапIэ хуохъу. ЛIым я нэхъ хахуэр шым къохуэх. Абдежым мэхъу Iэнкун шэрджэсхэр, Я лIыгъэр плъагъуурэ мэкIуэщI. Шым темысыжыр ягъэкIэсри – Зыр адрейм еджэу зэдокIуэт. Иджыри шэхэр зэдолъэт. Щофий щIэпхъуэжхэм я щхьэщыгум. Зыгуэрхэр псэншэу тохуэ щIыгум. Къэнахэм защI кIапсэлъэрышэ, Зыщахъумэну хэтщ биишэм. Шэрджэсхэр мэзым егъэпщкIуж, КъаIэта сабэр мэтIысыж. БыдапIэм Iугъуэр щхьэщехуж. XI Щым хъуащ бгы нэкIур, уафэр щымщ, Нэщхъейуэ щIылъэм къыхуеплъыхыу. ТемыпыIэжу къежыхь жьым, Тхьэм ещIэ губгъуэм къыщилъыхъуэр. ЛъагапIэм плъырхэм къыщакIухь, Макъ зэхахыху я щIыфэр тхытхыу. БыдапIэм елъагъужыр пщIыхь, КъыхигъэщтыкIыу, игъэдзыхэу. Къэзакъыр мажэ, тесу шым, Ныбжь къыкIэлъыжэм игъэшынэу. Къуаргъыжьхэм зрадзыхыр щIым, КъраIукIыну хьэдэм и нэр. Яуфэбгъу аргуэру вагъуэм уафэр, Щолыд Iэнкуну бгыщхьэм мафIэр. Мэлыд къэзакъым иIыгъ джатэр, ХэпщIыкIыу лъым игъэулъияр. Дунейм и напщIэр фIыхолъэтыр - Хэт зыщIэр и гум ирилъхьар?.. КАВКАЗ ГЪЭР ЗэзыдзэкIар Ацкъан Русланщ ЯПЭ IЫХЬЭ Бгы лъапэм жылэ щызэхэсщ, ЩIэтIысыкIауэ гукъэкIыжым. Шыхулъагъуэу вагъуэхэр мэшэс, КъахэкIуэсыкIым зиукIыжу. Щхьэщыгум кIыхьу зыщеIыгъ Уэнжакъ нэщхъейхэм къариху Iугъуэм, ИтIанэ уафэм хошыпсыхь Гум къыщIитхъ псори зэрыщIыгъуу. Сабийхэм пщIыхьым къыщахухь ГугъапIэ нэхухэм я псэупIэр. Шэрджэсхэм бжьэпэм щадз ныбжь кIыхь, ЩIыгу техъукIар я уэршэрыпIэу. Зэм шы телъыджэм ящI и гугъу, Зэм я ауанщ урыс сэлэтыр. Мы дунеижьым зеудыгъу, Ирашэжьам лIыхъужь уэрэдыр. Шэрджэсхэм Iэджэ ягу пымыкI, АрщхьэкIэ пожьэ зэса гъащIэм. Нэху къатемыщхьэу дошэсыкI, ДекIуэкIыу бгыхэм я нэгу пхъашэм. II Бзылъхугъэ цIыкIухэр дожей Iуащхьэм, Шу къемыплъэкIхэм я Iэр хуащIу. Гъуэгущхьэ сабэр мэтIысыжри, Гъуэгу дыжьыныфэр къыпхопсыжыр, НэгъуэщI шууейхэм къахуэлыду, Гум щыщIэр зыуи къимылъытэу. ГъуэгунапщIэ удзыр Iурехыж, Къытрихьа сабэм игъэщхъауэ. Тэрчыжь мэшхыдэ щIэгъэщхъуауэ, АрщхьэкIэ зым зэхимыхыж Абы гукъанэу кърихьэкIыр. И напэр псым кърихулэкIми, Мыхъей нэпкъ задэм и зы налъэ. Ухуейм зэгуэч, ухуейм къэкъуалъэ. БампIэгъуэу щымт мы дунеижьыр, Къэмыкъугъатэм хьэIуцыдз Е щхьэрыутIыпщу шы зырыз Зэпрымыжтэм губгъуэм, щыщу. III ЗэщIэблэрт удзыр алэрыбгъуу, Бгы нэкIуи тафи иуфэбгъуу. Къуршыпсым мывэхэр итхьэщIт, Толъкъун-IэгъуапэмкIэ илъэщIу. Къабзагъэ нэхумкIэ зигъэнщIт, Мыух гуфIэгъуэр псэм къигъэщIу. Бзылъхугъэ цIыкIухэр бгым къожэх, Псыр зэрыджэгум ягу хигъахъуэу. Псы къабзэр Iэгум кърагъахъуэ, Хьэрэмыгъэншэу мэдыхьэшх, Iэлъынхэр псым щIагъэтIысыкIыу, Къыхапхъуэтыжрэ – щыгуфIыкIыу, Ещхь хъуауэ фIыгъуэ зэуэлIам, Зи щауэм тыгъэ зыхуищIам. Яхэтт Iэлъыныр зыутIыпщи, Насып къихьыну гугъэ ищIу. Бзылъхугъэ цIыкIухэр хэплъэрт псым, Псы щIагъым щещIэу я сурэтыр. Абыхэм ящIэт псэм къыхуэтыр – Къыпэплъэрат имыщIэр зым. Къыхадзэрт зэм уэрэд гугъафIэ, Я макъым ныджэр дэуфафэу. IV Иужьрей бзийр ешэжыр дыгъэм, Къуршыщхьэ мылым тецIэнтхъукIыу. Щытщ Iуащхьэмахуэ, хэлыдыкIыу, Мы дунеижьым и дамыгъэу. Ялъэхъа шыхэр зэм мэщыщ, Ягу къыщыушыр ямыбзыщI. Къыдыхьэж Iэщхэр зэщIобууэ, Iэхъуэм и макъыр щIагъэмбрыуэу. Зы хъушэм итщ адрейр и ужь, Яуфэбгъури – щIыр умылъагъуж. Сыт хъушэм щIыгъуу кIуэ зу макъыр? Ар лъэхъу зу макъым сыту ещхь. Илъагъум уи нэм уигу хегъэщI: Ялъэф гъэр-Iэхъуэхэм я лъакъуэр, ДэуфIыцIу сабэм хэткIуэ лъыр. Къощ нэгум зэрыузыр лыр, Псэр зэрыузыр нэхъ Iеижу, Къозауэ я псэм гукъэкIыжыр, Гугъущ зэрамыIэри къэкIуэн. А псоми гукъыдэж текIуэн. Зы пщIыхь гугъэншэу, зэшыгъуащэу ИокIуэкIыр Iэхъуэхэм я гъащIэр. Уэрэд гуузырщ, нэпс гъэпщкIуарщ Зыхалъхьэр я гум къыщеблар. КъыкIэлъыкIуэнущ Абрэдж хьэжы ЗэзыдзэкIар Ацкъан Русланщ Инщ Джэмэт жылэр, хуэкъулейщ, Абы зым и бжьыр темызагъэ. И мывэ блыным къегъэлъей, Зыгуэр и мылъкум къехъуэпсамэ. И бын щхьэхуитхэр шабзэм ещхьщ, ЗауапIэ губгъуэрщ я мэжджытыр. Я хъыбар хахуэр жьыбгъэм ехь. Хэт зыщIэр ахэм къапэщытыр. Я фочыр пащI абыхэм гущэм. БлэкIынкъым я шэр урыс гущхьэм. Нобэрей махуэм укъелыгъуэ, Езыр жьауапIэ хуэдэщ лъыхъуэ. Iу бахъэр мывэ къэс щхьэщытщ, Бгъэр, сахуэм ещхьу, уэгум итщ. Зы удз щIы щхьэфэм щымыхъей. Щымщ щIылъэр, хэдэIукI нэхъей. Къуажэбгъум щыплъэ Iуащхьэ закъуэм ЩокIуэкIыр щэхуу псалъэмакъыр. ЩIалэ къуданхэр хоплъэ щIым, Зыгуэр халъагъуэу къыпфIэщIынщ. Зэрахуэр сыт абыхэм нобэ? Къуэншауэ зэ къахьыжрэ тобэ Е псэр зэшыгъуэм иубыда, ЗекIуэныр ягу къыпылъэда, Хьэмэ хъыбар къалъэIэса Гъунэгъу къэхъуауэ урысыдзэр? Хьэуэ, абыхэм я гупсысэр НэгъуэщI зыгуэрщ зыхуэгъэзар. Я пащхьэ исщи хамэ лIыжь, ИIуатэр зыми зэпиудкъым. Абы и гуауэм игъэпуду Дэтхэнэ зыми къыфIощIыж. КъеIуатэ хуэму къумыкъу лIыжьым, Нэпс пщтырым нэр къыхэмыплъыжу: «Сэ къуищрэ пхъуищрэ сиIэгъащ, Дэтхэнэ зыри пэсщIу си псэм. СекIуэкIт, сыхэтым ещхьу шыпсэм, АрщхьэкIэ жьыуейр къыкъуэуащ, ТрищIыкIащ къудамэу сиIэр. Иджы, си куцIыр ису щIыIэм, Дакъэжьу губгъуэм сыкъинащ, Хъуащ дунеижьыр сэркIэ нэщI. И Iуэхур жьыгъэм хэт зымыщIэр, Абы и уэсыр тосэ гущхьэм, АрщхьэкIэ щыIэкъэ щыплъагъу Щыушэу псы уэс куум и щIагъ?! Сигу илъ вжесIэну сыхъуэпсати, Къызэпысчащ гъуэгуанэ задэ. Хэт щымыгъуазэр шууей нэсхэр Фи жылэм куэду зэрыдэсым. Хэт ицIыхуну Бей-Болэт, Пэлъэщу а пщы ябгэм, хэт Къысхуишэжыну си пхъу закъуэр? Мы си гур и пIэм имызагъэ, Бын гузэвэгъуэм кърехуэкI. Слъэгъуар фи нэгу Тхьэм щIимыгъэкI. ЩылIащ пщылIыпIэм адрей сипхъухэр. Щым щыщу къысхуэнати зы къуэ, Ари си пащхьэм щаукIащ. Ар, пыгуфIыкIыу, псэм пыкIащ. Зэгупсысари Тхьэшхуэрщ зыщIэр. ПфIэщIынт зыгуэрым хуищIу фIыщIэ… Арати, губгъуэм сихьэжащ Си гъусэу къысхуэна бын закъуэр. Абы, псэм хуэдэу, сыхуэсакъыу СтрахыхункIэ есхьэкIащ. Дыщыпсэуащ дэ бгъуэнщIагъ кIыфIым, ПхужымыIэнщ дэкIари ди фэм. Сшэчынут сытри сэ къыслъысу, Схъумэну сщIэм къэна си къуэпсыр, АрщхьэкIэ гуауэр къыскIэлъос, Сшэчауэ хъуар сщигъэгъупщэжу. Закъуэныгъэшхуэр сэ къыслъос, ЛIэныгъэр зэм къызигъэщтэжу. ПIейтейуэ жэщым сыкъоуш, Зысплъыхьым – си пхъур сщIымыгъуж. Щызэхэсхам сэ шы лъэ макъыр, Сыщыхуежьам щIэсчыну кIакхъур - Шу ябгэр къуршым ихьэжат. Сэри, сипхъу закъуэм сыпыкIат. Езыхьэжьам си бын гъэфIэныр Себгащ, IэбжьанэкIэ щIыр къистхъуу, Мыващхъуэ щIыIэм натIэр щысхъуэу. Арат абдежым сэ сщIэфынур… Иджы хъуэпсапIэу сиIэр зыщ - Къызаха лейр сымыгъэгъунырщ. Ар згъэзэщIэхукIэ си гур гъунущ. Аращи, къуэшхэ, фымыбзыщI, ЗдэщыIэр фщIэмэ Бей-Болэтыр. Пэувыфын абы къыфхэтым, - Си щхьэфэр сэ лъэгущIыхь хуэсщIынщ!» «Сэ сощIэ Бей-Болэт здэщыIэр, Куэд щIауэ сигу абы хуэщIыIэщ, - КъыхокIыр гупым щIалэ хъыжьэ - Мыбдеж жэщитIкIэ къыщызэжьэ. ЖэщитIыр блэбгъэкIа нэужь, Къэзмыгъэзэжмэ дыгъэм щIыгъуу, ЩымыIэж си псэм къыхуэщыгъуэ, Умылъыхъуэжу си лъэужь». КъреIэ пшэплъым уафэ джабэр, Акъужьыр щIылъэм йопэщэщ. Нэху къуэпсхэр дыгъэм япэ йощ, ТIасхъэщIэхыныр зэфIэкIауэ. Къыр хэмыщтыкIым и къудамэм Къыщыушащи пшэ Iэрамэр, Зыхеш жейбащхъуэу, зыкъегъэпщ, И гугъэр уафэм ирегъэпщI. ТIэкIу докIри, тохьэ и гъуэгуанэм, ИмыщIэу зэкIэ зыхуэкIуэнур. Мэбауэ тыншу хъуреягъыр. Хуоушэ псынэр пхиша лъагъуэм. Къопсых иужькIэ дыгъэ бзийхэр, Мывэ пIыщIахэр къабзеихьу. Ныбжь закъуэтIакъуэр ирафыж, Уэсэпсу хъуар трафыхьыж. Бгы зыхэзышым еуэкI лъагъуэм Шу хъыжьэ закъуэ тыболъагъуэ. Шыр, ныбгъуэм ещхьу, зэм щIолъэт, Зэм, пшэм хэпырхъэу, щхьэр еIэт. Гъуэгу гъунэм Iуву щыкI жызумыр Губгъуэжьым холыдыкI дыжьыну, Мэ гуакIуэр ауз псом щхьэщытщ. Дунейр IэфI защIэу къыпфIэщIынт, Бгы нэкIум кIэрылъ кхъэр мыхъуамэ. Шур щIопхъуэ зэм, бийр зылъэгъуауэ, Игъаджэу щIопщыр. ЯIуэтэжу ЩIопщ макъым бгыхэр къыподжэжыр. Бгым зэреуэкIыу шу къуданыр, Къуршыбгъэм ешэщIыжыр дамэр, КъыритI зэхуакум добзэхэж. Абы ищI хуэдэщ зэхэгъэж. Тоувэ шур къыпэплъэ нэпкъым, Елъагъур зылъыхъуа илъэпкъыр: Жылагъуэ цIыкIур щIэсщ бгы лъапэм, Зыщигъэзыжу нэхъ лъагапIэм Зеплъыхь и унэм Бей-Болэт. И теплъэр псоми къахолъэт. Куэд щIащ жылагъуэр зэрыушрэ. Уэгу къащхъуэм и гур зэригъэшхыу, КъыщоIу уэрамым гу кIыргъ макъыр. ЩетIысэхауэ жызум щIагъым Къумыкъу бзылъхугъэм хеш уэрэд, И макъым кIуэху зрегъэIэт. Ар зыпэджэжыр зым имыщIэ. И макъ дахащэр къоIукI гущIэм, Хьэуар дэтхытхыу ихьэу уэгум, Езым и нитIыр темыкI гъуэгум. Зэшыгъуэр и псэм къыщхьэщытщ, Гугъу удемыхьу ар болъагъур. Хэт зыхухишыр и гум лъагъуэ? КъуэкIыпIэ вагъуэу а бзылъхугъэм ИгъафIэр хэт и лъагъуныгъэм, КъызэуэлIар насыпыр хэт? Хуэпэж ар псэкIэ Бей-Болэт Е и гур еджэрэ нэгъуэщIым? Мэхъуж и фIэщ къызэфIигъэщIыр, Удз кIырым щабэу Iэгур дилъэу… Бзылъхугъэм къэушащи и лъыр, Зэхех и мыгъуэр зэрыбауэр, КъыфIощI акъужь къеIусэр бауэ… КъигъапцIэ пэтрэ IэфIщ гупсысэр, И мыгъуэр фIэфIщ къызэреIусэр, Зеший, и IэплIэм кIуэн хьэзыру, Ауэ хьэуам хэт лъэIэсыну?.. ЗдэщыIэр дэнэ псэм и хъуахуэр, Шу хъыжьэу щыIэм я нэхъ хахуэр?! КъоIу шы лъэ макъыр асыхьэту, Гъуэгущхьэ сабэм зыкъеIэтыр, Бзылъхугъэ цIыкIури къыщолъэт, Пожажьэ, гуфIэу, Бей-Болэт. Удихьэхыныр куэдрэ гугъэм. Нэр ирешажьэ, псэр ехьэху. Шу щIалэр пщIантIэм къыдыхьащ, Абы Iэнкуну йоплъ бзылъхугъэр: И пащхьэ итыр имыцIыху. ХуэIэзэу хьэщIэр шым къопсых, И хуарэм бахъэр къыщхьэщехыр. Бзылъхугъэм хабзэ шум ирехыр, Иригъэблагъэу, йокIуэтэкI, Iей лъэпкъ и гущхьэм къимыгъэкI. Iэнкунщ и хьэщIэр, сыт къэхъуар, И псалъэр щIыIэу къыщыхъуа? БзэмыIум ещхьу, къоплъри щытщ, Къилъыхъуэу псалъэ къыпфIэщIынщ. Лъэбакъуэ закъуэкIэ къокIуатэ. ЩэIу макъ къыхыхьэу ар мэщатэ: Бзылъхугъэм псалъэхэр къегъуэт, Iэнкун хъуа щIалэр игъэгушхуэу: «ХузэIухащ цIыху хьэрэмыншэм Сыт щыгъуи и бжэр Бей-Болэт. Неблагъи, шхыным тхухэIэбэ, Хъунщ ди хьэщIэщыр уи псэхупIэ. Ди дежкIэ хьэщIэр Тхьэм и лIыкIуэщ, Абы и деж къыщыпхь емыкIурщ Ауану жылэм къыдэнэнур. Жагъуэгъуу хъуам къуахъуэныжынур. Неблагъи, Бей-Болэт гъэгуфIэ! Езыри къэкIуэжынщ мыгувэу…» Абрэдж Хьэжы И нэфIыр Тхьэшхуэм къыпщыхуэнщ, Игу фIы хуэпщIащи гъуэгурыкIуэм. Слъэгъуащи уядэр сыкъыщыкIуэм, НыбжесIэжыну си къалэнщ. ЛэIилэ Дауэ! Си адэр уэ плъэгъуауи?! СфIэщIат абы сыщыгъупщауэ. Дэнэ щыпсэур?.. Абрэдж Хьэжы Щыпсэуам. Гъуэгу щытемытым – щIэсщ бгъуэнщIагъым. ЛэIилэ НэщхъыфIэ ар е нэщхъеягъуэр Щхьэщыт псэм телъым и нагъыщэу? Абрэдж Хьэжы Уи адэр псэущ, аращ нэхъыщхьэр. Уэ-щэ, уэ дауэ пхьырэ гъащIэр? ЛэIилэ Си хъуреягъыр насып защIэщI! Абрэдж Хьэжы (щэхуу) Ущыунэхъуар мис абы щыгъуэщ! ЛэIилэ Зыгуэр жыпIа си гугъэщ… Абрэдж Хьэжы Хьэуэ!.. Абрэдж Хьэжыр пэрысми Iэнэм Къыхуахьа шхыным хэмыIэбэ, Абы хигъэщIкъым фадэ пIащIэм. Гузавэу щIедзэ унэгуащэм, КъыфIэщIу хьэщIэм зигъэгусэ. ФIэмащIэщ, дауи, хуищI нэмысыр, МыгурыIуэгъуэу зещIыр хьэщIэм, Игу иримыхьыр плъэкIым къащIэ. Зэлъахэм натIэм зыщаужьыр Гум щызэблэкIхэм я лъэужьу. Тригъэун и гугъэу хьэщIэр ЛэIилэ къещтэ шыкIэпшынэр. Макъамэ дахэр щIэз мэхъу унэм, ФIы зигу имылъым игу хигъэщIу, ФIыр зи гуращэм игу хигъахъуэу. Бзылъхугъэм и нэр маблэ вагъуэу, ПIейтейуэ и бгъэм зыкъеIэт; И мыгъуэ закъуэр и нэгу щIэтщ. Сабийм и гущIэм ещхьщ и гущIэр. Къытохьэ, зэрыхъуар имыщIэу, И нэгум щIэтым къыхуэфэну, ХьэщIэщым щIэсри игъэфIэну; Хьэжы и пащхьэм щокIэрахъуэ, Дыгъэ къухьэжым хьэндырабгъуэ Зэ хэджэгуэж фIэкI умыщIэну. ЕIэтыр зэм и шыкIэпшынэр, Зэм, зыдигъазэу, ирехьэх; Зэми нэбжьыцхэр къыфIохуэх, ЯгъэпщкIуу нэпсыр зыщIэт и нэр, ИтIани гуфIэр Iупэм тесщ. Нэщхъыцэу хьэщIэр жьантIэм дэсщ. Иджыри къэс ищIакъым хьэщIэм Къепыджым нэщхъкIэ хуащIу фIыщIэ… Абрэдж Хьэжы Куэдщ! Уи макъамэм доуз си щхьэр. Къэгъанэ, хъунум, уи къэфэныр, Щыгъэт, плъэкIынум, уи гуфIэныр! Аракъым иджыпсту нэхъыщхьэр. Уэ пхуэдэ цIыхухэр согъэщIагъуэ, Я щIыкIэр си щхьэм къимытIэсу. Зэгуэр лIэныгъэм уегупсысу И фIэщ мыхъун укъэзылъагъум… ЛэIилэ Къызылъысар дуней жэнэтыр ЛIэныгъэм и гупсысэм хэткъым. Абрэдж Хьэжы Зы упщIэ сиIэт сэ иджыри: ЩыIакъэ, лъахэр гум къэкIыжу, Зэшыгъуэр щытегъуалъхьэ псэм, БлэкIам и нэхукIэ ущыпсэу? ЛэIилэ Мы щIыпIэр сэ слъэгъуащи фIыщэу, НэгъуэщIым си гур хуэмыкIуэж. Зы махуэм адрейр къыдегуэж, Гум лъахэ иIэуи сымыщIэ. Гугъуехь нэгъунэ си псэм фIэфIщ. Уи лъахэр, щIалэ, щIы уи фIэщ, Укъыщалъагъу плIанэпэрщ фIыуэ, Гухэлъыракъэ псом нэхъ фIыгъуэр! Абрэдж Хьэжы Гухэлъ жыбоIэ… ПщIэуэ пIэрэ Абы нэхъ лъэщу дунейм тетыр? Ар зыщIэр зэи темыпыIэрщ, Илъ ищIэжыну зыпэщытырщ. ЗыфIэкIуэдам псэм пищI и къуэшыр, Мыхъужым мы дунейр зи фIэщ – Ухуеймэ гущIэгъуншэ фIэщ – И бийм ажал къыхуелъыхъуэжыр; Гухэхъуэ нэс зыхигъуэтэнур Абы и гъащIэр икъутэнырщ. Сэри си гъащIэр теухуащ Зэрызгъэгъуным бийм и къуэпсыр, Згъэтыншыжыным къуэшым и псэр, СукIыжу зи шэ къытехуар. ЖыбоIэ, мыдэ, лъагъуныгъэ… ХэпщIыкIыр сыт уэ гупсэхугъуэм! ЛэIилэ Ухъуауэ фагъуэ щхьэ къысщыхъурэ… Абрэдж Хьэжы КъэдаIуэ, псалъэ умылъыхъуэу. Зы зэман гуэркIэ уIэбэжым СиIащ зы къуэш сэ къысхуэпэжу. СынасыпыфIэт абы щыгъуэм! Апхуэдэу Тхьэм иухагъэнт - IэщIэкIуэдащ ар Бей-Болэт. ЩыхагъэщIамэ щIакIуэ кIапэм, ЩыхэкIуэдатэмэ зауапIэм, Апхуэдэу сигу къыщIимытхъынт, АрщхьэкIэ дауэ хуэбгъэгъун Уи щIыбкIэ фочыр къозыгъапщэм, ЛIыхъур пшэрыхьым езыгъапщэм? Си къуэшыр хахуэт, и псэр нэхут. Ар лIащ, имыплъэу бийм и нэгу, СщIэжыну илъ уэсят къысхуищIри. Псэм игъэвар си закъуэщ зыщIэр ЛIыукI къэрабгъэр къэзгъуэтыху, Абы и нэгум сиплъыхьыху. Къэзгъуэтри ар, сепхъуат си къамэм, ИзукIыхьыну и пIэм гъуамэр, АрщхьэкIэ слъытэжащ мащIэIуэу Апхуэдэр сытми хэзгъэщIэныр. ЛIэныгъэр сыт! Ар зы лъэтэгъуэщ, Дызыпежьар къэзыгъэIэгъуэщ. Ар си хъуэпсапIэм къыпэхъунуи, Сшэчыгъа псоми пэувынуи?! Хьэуэ! НэгъуэщIт абы хуэфащэр. Щезмыгъэхьауэ мыхьыр гъащIэм Мурад сощI ар сымыукIыну, СощI гугъэм япэ пызгъэкIыну Псэм хуэдэу фIыуэ илъагъу гуэрым, АбыкIэ и псэр щIым хэзгуэну, ИтIанэ сутIыпщыну хьэршым. СымыщIэт зэреплъынур къуэшыр А си мурадым, ауэ псэм Зэгуэр къищтар схъуэжынкъым сэ! Аращи, къыппэщылъыр зыщ. Мес, дыгъэри къухьэн хьэзырщ. Хъуащ игъуэ, джатэр сэ къызох… И макъыр къуэшым зэхызох… СыщыпIуплъам уэ япэ дыдэу, Укъыщыспежьэм нитIыр лыду, Джылат си гущIэр, пцIыр хьэрэмщ, Ауэ тэлай псэуауэ арщ Щыуауэ къысхуэкIуа гущIэгъур. Иджы къалэныр згъэзэщIэнущ… Бзылъхугъэм и фэр зэуэ покIыр, Шэжыпсым ещхь и нэкIур мэхъу. Ерагъыу и нэм къыщонэху ЛъэIу къарууншэ нэпс зыщIэтыр. Ерагъыу псалъэри къегъуэтыр: «ЕхьэкI уи нитIыр, нэгъуэщI мыхъуми, Уи псалъэм пхузегъэщI гущыкI. Бзылъхугъэр джатэкIэ зыукI ЛIымыхъущи, къигъэщIэнур мыгъуэщ. Е гушыIэкIэ гущIэгъуншэ Си жьэгум нобэ къыдэпхьа? КъитIэскъым къызжепIахэр щхьэм, ЩымыIэ си гур зыхуэмыжэ. Зыхэлъхьи лIыгъэ, къэхьыж тобэ! ПасэIуэщ сэ сылIэну нобэ. Уэ лъагъуныгъэ уиIагъэнкъым, Си гум щызекIуэр зыхэпщIэнкъым…» Хьэжы ныбжь фIыцIэу итт утыкум, Епыджу нэщхъкIэ унэ лъэгум. «КъызгурыIуакIэщ, гущIэгъуншэ, Си гъащIэр бжьиз зэрымыхъужыр. Къызэт дакъикъэ, нэгъуэщI мыхъуми, ЩIэзгъэтыжыну нэгу си мыгъуэр!..» Щхьэщыгум джатэр щылыдащ, Бзылъхугъэм и щхьэр пылъэтащ. Зи нитIыр пшагъуэм щес абрэджым КъиIэтри лъэгум илъ щхьэцыкIэр, ИлъэщIыжащ абыкIэ джатэр. ЛъэгубгъукIэ хьэдэр игъэкIуатэщ, Щхьэр щIакIуэ кIапэм кIуэцIишыхьри, Хэлъэдэжащ шу хъыжьэр пшыхьым. Абы и хуарэ жыIэдаIуэр Жэрт, и гур шынэм иубыдауэ, И сокур щызелъатэу жьым, Пэм къриху гъуэзыр хыхьэу щIым. ЗыхимыщIэжт абы удыныр, КъыжьэдакъуакIи мыдэIуэжт. Зэса гъуэгуанэр къилъыхъуэжт, Тынш цIыкIуу и псэр имытыну… Хуэм-хуэму пшэплъым и фэр покI, Къыщхьэщогъуалъхьэ щIылъэм жэщыр. ПсыIагъэр щIылъэм щрагъэщIу ИщхъэрэкIэ пшэ псыфхэр къокI; Зэрахуэ куэду я мыIуэху, ЗыщIыпIэ дежи щымызагъэ; Зэм къырыжь дзакIэхэм зыщахъуэ, Къыкъуэуа жьым къыщIигъэIэху. Щоушэ лъэгум къуршыпс щхъуантIэр, Емышу хуожэ итым натIэм, ЗиублэрэкIыхукIэ нэ къыхоплъ… Псэм къещIыIэкIыу зыгуэр хэлъщ Дунейм. Хуэдэжкъым псори япэм. Щхьэр щыщэIуауэ щIакIуэ кIапэм КъыфIощIри, къоскIэ зауэлI ябгэр. ЗэплъэкIми, пхъэр и ужьым иткъым, ШейтIани къыдэджэгу хуэмыдэ. Тхьэм елъэIуну игъуэ дыдэт, Нэмэз зэращIыр ищIэу щытым… ЛIы хахуэм и шырщ къыхуэпэжыр, ЦIыху хуэдэ, ари хощэтыкI, И щIыфэр тхытхыу, къыхощтыкI. Зэм блащхъуэм гъуэгум зыщегъэшыр, Зэм мывэр ныджэм холыдыкI. Йопсалъэ щабэу, хуэмыхъущIэу Хьэжы лIы хахуэр и шы хъыжьэм: «Щхьэ укъыхэщтрэ, си ныбжьэгъу, Мыпхуэдэ гъуэгу фIэкI дгъэунэхуакъэ! Нэхъ зауэ гуащIэм дыхэтакъэ, Зым дыпэмыплъэу и гущIэгъу! СыкъыIэщIэпхыурэ ажалым Сыкъэпхьыжа уэ сыт хуэдизрэ! Иджы къысфIэщIрэ зыбгъэгусэу Е къохъэлъэкIрэ, умэжалIэу? Зыдгъэпсэхунущ, дынэсыжым, УзгъэхъуэкIуэнущ, узгъэпскIыжым. ПфIэфI псор уи нэгум щIэзгъэкIынщ, Урыс дыжьыныр къозблэкIынщ. Пхузэблэхыжыркъым уи лъакъуэр, ЗыщIэпхъуэжар къызгурыгъаIуэт. Уобауэ хьэлъэу, птелъщ тхъурымбэр, УкъызэдаIуэркъым нэхъыбэм. Куэд мыщIэу мазэр къыщIэкIынщ, ЩIым кърикIыхыу дыжьыныпсыр. Тлъагъунщ ди жылэр къызэпхыпсу И нурым мазэм. Уэ зипчынщ, ХуэбунэтIынщ, бгъэIуэщхъуу тафэр, Iэщыхъуэ пщыIэм щыблэ мафIэм. ДызэреуэкIыу бгым я нэзым, Тлъагъунщ губгъуэжьым шыхэр изу. Укъаухъуреихьмэ хуарэ гупым, Къигъэзэжынущ уи насыпым… А псори сэ зыкъэсIэтыхущ, Шы гуп къожар зэбгрысхухущ. ЗытпыIуадзынщ, зэрызыхащIэу Ди натIэм итыр зэрызэщхьыр…» Аузыр жэщым зэщIищтащ, Щопсэу пщIыхь IэфIым Джэмэт жылэр Къыхэщту, цырхъ телъэтмэ щIылъэм, ЛIыжь зэщIэтхъуа гъуэгущхьэм тесщ. Абы и нитIыр маплъэ жыжьэ, Абы игу щыщIэр Тхьэшхуэрщ зыщIэр. Шу гуэр уэгу гъун эм къыщохутэ Жэщ кIыфIым нэхърэ нэхъ фIыцIэжу. Щысщ лIыжьыр, и гур мызагъэжу: ХуэмыIуэущ шур къызэрыкIуатэр. Ар хэтми, и шым и лъэр щIэкIкъым. Иужьрей бгым къызэреуэкIыу Шу щIалэр лIыжьым къецIыхуж, И быным Iуплъэу къыщохъуж. Абрэдж Хьэжы и нитIыр пшагъуэщ, Зыгуэр щегъэпщкIу и щIакIуэ щIагъым. МэгуфIэ лIыжьыр: и пхъум тыгъэ Къригъэхьауэ ар мэгугъэ… Шым и щхьэр пIащIэу ирехьэкI, Шу щIалэм и фэр пыхьэ-пыкIщ, КъыдреIэтей и щIакIуэ кIапэр. Щохуэхыр щхьэр лIыжь тхъуам и лъапэм, КъыпыткIу лъы къабзэм удзыр илэу. Тхытхащ абдежым, дауи, щIылъэр, Къэнакъым ауз псор къэмыскIэу. Зридзыхауэ лIыжь ТхьэмыщкIэм, Пхъум и щхьэр бгъэм ирекъузылIэ, Иужь хуабагъэр абы хилъхьэу. Нэр къиIэтыжри зэ жьакIэхум, КъигъэщIа псор хуэкIуащ зы щэIум, Iуданэ ща фIэкI умыщIэну, Зэпычри и псэр ежьэжащ, Зы вагъуэ уафэми щижащ. Апхуэдэу псынщIэти ухыгъэр, Къыпхыщыжакъым нэгум гугъэ… Хьэжы и напщIэр мыхъея, И нэгу къищакъым гущIэгъу налъэ. Игъаджэщ щIопщри щIыр дэпсалъэу, Къыпэплъэ къуршым ихьэжащ. Зэман дэкIа нэужь, къуэладжэм Псы гъунэм Iуту щыгум дэкIхэм ЦIыхухъу хьэдитI къыщагъуэтащ, ЩIалъхьэжри, мыви хухатIащ. Лъыр тIум я бгъэгуми кIэрыгъуат, Гужьгъэжьыр нэгукIэ яхъумат, Зэтекъузат я Iупэр быдэу, Иужьрей гыбзэр яIыгъ хуэдэ. Еплъыху къафIэщIырт, гъуэгурыкIуэм Зихъуэжу хьэдэхэм я нэгум, МыгурыIуэгъуэу ягъэшынэр. Зым идзыр Iэпхъуэрт адрейм и нэм. Ящыгъыу хъуар нэхъыфIым хуэдэт, Я Iэщэ-фащэри къулейт. ХьэдитIым языр Бей-Болэтт, ЕтIуанэр къахуэщIакъым хэтми… КъыкIэлъыкIуэнущ Демон (пычыгъуэ) ЯПЭ IЫХЬЭ I Жин фIыцIэ и псэм хуимытыжу, Уэгу лъащIэр Демон къилъэтыхьт. Зыр зым тегуплIэу гукъэкIыжхэр Абы и гущIэм къизэрыхьт. Зэгуэр щытат ар мелыIычу, Псэ къабзэ иIэу, хъийм имыкIыу. Абы жэнэтыр и псэупIэт, КъыжраIэрт вагъуэхэм я щэху. Къихьамэ уэгум гухэлъ щыпэ, И гъуэгур псэкIэ къигъэнэхут. Ар къилъэгъуамэ, вагъуэижыр Иужьрей дыдэу пыгуфIыкIт. Ар псэут, лъэкIыху гуапагъэ ищIэу, Губжь дунейм тету игу къэмыкIт. ЩIэныгъэ нэхурт зыхуэпабгъэр, ФIылъагъуныгъэрт хъур и фIэщ. Зэхэзых псоми ягъэщIагъуэу, Езым и псалъэхэр къигъэщIт. ЛIэщIыгъуэ кIыхьым хэлъ зэшыгъуэр КъыщIригъэдзынт абы щIэщыгъуэу. Мо уафэ щIагъым къыщIэщэщт Зылъыхъуэр Демон абы щыгъуэ. Апхуэдэ Iэджэ игу къихьэжт. КъыхуэмыщIэжри нэхъыбэжт. II Псэуащ иужькIэ, хъийм икIауэ, Зым теплъэ мыхъуу къэнэжауэ, Псэм къыхуилъыхъуэу егъэзыпIэ. ЛIэщIыгъуэр хуэдэут напIэзыпIэм Абы и нэгум зэрыщIэкIыр. Зыхуэзэм къайгъэ ирищIэкIыу, А Iуэхур зэми къехьэлъэкIыу ЛIэщIыгъуэ дапщэ ар псэуа. ЩыIакъым абы пэрыуа. Бзэджэныр езым иужэгъуащ. III Иджы, жэнэтыр ибгынауэ, Ар уафэ щIагъым ныбжьу щIэтт. Нэщхъейуэ, игу къызэфIэнауэ, Кавказ къуршылъэм щхьэщылъэтт. Щылыдт и щIагъым Iуащхьэмахуэ, Пшэ хужьхэм нэкIукIэ зыкъыщахъуэу. Щыплъагъут адэIуэкIэ БралыкI , Налмэсым ещхьу, зэщIэпщIыпщIэу. Абы и теплъэр уигу пымыкIт, Ар къопсэлъэну фIэкI умыщIэт. Къуршыпсыр нэм къиубыд къудейт. КъыпфIэщIу блэшхуэм и хэщIапIэ, Къуэ лъащIэм зыщигъэшт къэчапIэу. Зи къытехьэгъуэ Тэрч пIейтейт, Хэмызэрыхьати зыгуэр и лъым. Аслъэн губжьауэ нэпкъым хуилъырт. ЕкIуэкIыу къырхэри зэхэтт, Зыгуэрым пэплъэу къыпфIэщIыну. Iэдакъэ жьауэ зыщI яхэтт, Зыпэплъэр япэ къилъагъуну. Урыс быдапIэр лъагэу тетт, Мы лъахэр ейуэ къыщыхъужу, Ар игъэшынэу къыфIэщIыжу. Зэплъыжу пшэхэр дэкIуэтейт, Хьэзырт къыщитхъыу дыхьэшхыну, КъыпыгуфIыкIыу псыр ежэхт… Псэр зэм щышынэрт, зэм дихьэхт Мы дунеижьу емылыджым. Демон и закъуэт уафэ щIагъым Дахагъэ щIэту зигу къэмыкIыр, И нэгум щIэкIри зымылъагъур. IV Куржы щIыналъэр къыщыгъагъэм Ар куэд дэмыкIыу щхьэщохутэ. Имылъэгъуахэри къелъагъур, ФIэмыIуэхуами хуещI гулъытэ. Бгы лъапэм щIэлъщ уфафэ губгъуэр, Нэр зытепщIыпщIэ алэрыбгъуу. Абы псы щхъуантIэр зэпрож, Дыжьын кIэмажьэхэр къыпхыпсу, И мывэ нэхухэр гущIэм къипсэу; Толъкъунхэр Iупэу фIызэтож. МыувыIэу бзухэм къалъэтыхь: Гъэгъахэр зэм къауфэрэзыхь, Зэм ирашажьэ я уэрэдыр, Пщагъэгъупщэжу гум къыхуэтыр. Абы я макъым хэлъщ нэмыс. Бжеижьхэм тхьэмпэр ягъэсыс, Я щIэж къуданхэр ягъэфIэну, Трагъэгушхуэу-къагъэфэну. БгъуэнщIагъ пхыдзахэр щIыIэтыIэщ, Псэ егъэзыпIэщ бадзэуэгъуэм. Йопсалъэ уафэм тхьэмпэу щыIэр, И налъэ къэскIэ я щIэщыгъуэу. ЕдаIуэт удзхэр зэрыбауэм, ГурыщIэ IэфIхэр ягъэбагъуэу! Жэщ кIэщIхэр-щэ! Зэ епсэлъэгъуэщ Уи пщащэ дахэ фIыуэ плъагъум. Куржы хъыджэбзхэм я нэджыджу Вагъуэ гуфIэжхэр хэлыдыкIыу, Зыкъыпхуегъэщхъыр уафэ къащхъуэм, Къыпхуелъыхъуэжыр, гугъэр гъуащэм. А псори Демон илъэгъуащ, Ауэ фэрыщIу къыщыхъуащ. А псом щыIуплъэм – жиным и гум Къыщыушакъым фыгъуэ фIэкI. Гуапагъэр къыпхигъэпсу нэгум, КъигъэщIыфакъым зы гукъэкI. Къыпкърыхьакъым къаруущIэ, IуэхуфI ищIэну ирихужьэу. Ар щхьэщылъэтт хъуэпсэгъуэм зэкIэ, Илъагъуу хъуам ебийуэ псэкIэ. V Унэшхуэ щытщ, мэгъагъэ пщIантIэр. Гъудал жьакIэхум ар и щIапIэщ. Ар яухуэным текIуэдащ ЦIыху гъащIэ куэд, насыпу Iэджэ. Иджы, уэгу дыгъэр къыщыкъуэкIкIэ, Унэм и ныбжьыр къырхэм телъщ. Дунейм а лъапсэм зыкъыдещI. Мыбдежым щожьэ дэкIуеипIэ, Къыппэплъэ уафэм уридэкIыу. Шыгъуэгум къыпыхьэж ехыпIэм Ухуешэ къуршыпс къыпхуеплъэкIым. Пщэдджыжь къэсыхукIэ пщым ипхъу закъуэр А лъагъуэм тету псыхьэ макIуэ. Щхьэтепхъуэ хужьыр полыд дыгъэм, Къыпхыпсу нитIым къыщIэщ гугъэр. VI Сыт щыгъуи щыму щыта унэм ЩокIуэкIыр нобэ ефэ-ешхэ. Гъудал пщы хъыжьэм и пхъур яшэ. ЩегъэпщкIу Iыхьлыхэм пщыжьым и нэр, ГуфIэгъуэ нэпсыр къыфIекIуащи. Зыщагъэзыжу алэрыбгъум, Шагъыр курыхыр ягъэкIуэщIу, Къызэхуэсахэр пщым йохъуэхъу, Зейм ещхъыркъабзэу, мы гуфIэгъуэм ЩыгуфIыкIауэ къыщагъэхъу. Ныбжьэгъухэм я кум дэсщ нысащIэр. ХэщэтыкI защIэу къоIущащэ, Къызэрехъуапсэр кърагъащIэу. ДжэгукIэ гуэрхэр къагупсыс, Хъыджэбзхэр дэкIуэу иухыжу… ИкI махуэм жэщыр къыпэщысщ, Дыгъэм и бзийхэр мэужьыхыжыр. Арыххэу псоми зыкъапхъуатэ. Джэгугъуэ хъуащи, зэрохь пщIантIэм. Iэгуауэр щабэу ирагъажьэ, Уэрэдыр щэхуу ирашажьэ. НысащIэм къещтэ бэрэбаныр, Ар и щхьэщыгум щегъэджэгу. Щыгъупщэжащ, иIам гукъанэ, Гур зыгъэныкъуэм хъуащ хуэдэгу. ЩIолъэтыр зэм, бзу джэгум ещхьу, Зэми утыкум щоувыкI, КъыщIэплъэу нэгум, погуфIыкI. ЩIалэ къуданхэр къонэ ещIэу, Дахагъэм я щхьэр дэуназэу. ЗэраIэщIэкIыр нобэ гъуазэр ЗыхащIэу, я гур къоузыкI, КъахокI мыфыгъуэу зылъэмыкI, Икъуз зэпыту къамэ Iэпщэр. НысащIэр къофэ, хишу и пщэр, Набдзэ фIыцIитIри къыдоджэгу. УщIигъэплъэхукIэ зэ и лъэгу - Дэлъэтеину фIэкI умыщIэ. Абы и теплъэм сыту куэд Къыхэщрэт сабиигъуэм щыщу! МазэщIэ нагъуэ псынэм къищри Абы дахагъкIэ темыкIуэнт.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "service.txt" }
Шэрджэсхэр ЗэзыдзэкIар Ацкъан Русланщ I Къуохьэжыр дыгъэр, къеплъэкIыжу, Аузыр жэщым хуэхьэзырщ. Мэужьыхри пшэплъыр, мэуфIыцIыжыр. Гухэлъ зэщIэлъым и чэзущ. Бгы задэм пшагъуэр кIэроувэ, Щэху щIыIэр уэхым хошыпсыхь. ЯбзыщIу щIым зэрытеувэр, Къурш бжэнхэм лъагэу къыщакIухь. Бгы нэкIум Iэщ щумылъагъуж. И нэр кIыфIыгъэм къыщылыду, КIэнауэм зэпрож дыгъужь. ЩакIуэ емышыр, хьэджафитIыр ЩIагъэIа щхъуэжьым итщ и ужь, Зэрыгъэгушхуэу, зыр зым тож. Щытщ мэзыр, и щхьэм щIэгупсысу. Мо щхьэукъуэным нэсыпар, Жьыбгъэ къуейщIейр къызэреIусэу, Къыхощт, и фIэщу зигъэгусэу, Щхъыщхъ макъыр щIым щызэлъищIысу МэхъущIэ ар, темыпыIэж. Къежыхьыр жьыбгъэм сэхъуа бынщи, ЕмыдэIуэжу зыутIыпщам. ПщIыхьэпIэм къыхоIукI жыпIэну, КIыгуугум жыжьэу макъ щегъэIу, ХигъэщIу уи гур, зэм мэщэIу. Къуаргъыжьри ныбжьу тесщи жыгым, Дунейм щIокIие, димычыхыу. Щожэх Тэрчыжьыр нэхъ жыжьэIуэу, Мы къекIуэкI къомым щIэмыдэIуу, Езым и Iуэхур зрехуэж. Мывэжьхэр зэм зэрегъэунтIэIур, Зэм кIыхьу и щхьэ хуопсэлъэж. II Нэхум и бийхэр игъэгуфIэу, Аргуэру уафэм зыкъеуфэ. Жьыбгъэ джэгуакIуэри хьэзырщ: Мы дуней псор щIэдэIу и гугъэу, Удз гъущэр нэпкъым щегъэзу, АрщхьэкIэ бэкIэ зыщыгугъыр ЩIы щхьэфэм фIэкI зэхихкъым зым. Бгы щыгум мафIэхэр къыщоблэ, Абы къэзакъхэри щызоплъэ, Жэщым щылыду я мыжурэр; ЩIэх-щIэхыу йоджэ зыр адрейм, Къыхэщту, пабжьэр жьым дэхъейм, Бэлэрыгъари щIегъуэжынущ: Шэрджэсым теплъэкъукI имыщIэ – А гъуамэр сыту гъунэгъущэ. Плъэгъуа къудейт псым адкIэ щыIэу, Иджы къыпхеIу и къамэ щIыIэр, Абы уи лIэгъуэр къигъэсащ. УаIуплъэжынукъым, къэзакъ, Уи лъахэ дыщэ фIыуэ плъагъум, Гур зыхуэпабгъэ уи унагъуэм. III Мэз Iувыр уафэм худоплъей, Сымаджэм ещхьу, хэщэIукIыу, ЩIы щIагъым къыщIэIукI нэхъей, Щхъыщхъ макъыр тхытхыу зэпрыкIыу. Жыгеижь щIагъым щотIысэх, Шым къепсыхауэ, шэрджэс гупыр. Зыгуэрхэр хохьэ пхъэ гъур щыпэ. Абыхэм пхъэ кърахьэлIэху, Лэгъупыр зыфIадзэн хасэху, Адрейхэм хашыр псалъэмакъыр, Драмышейуэ, ещхьу сакъым. Арыххэу мафIэр къызэщIонэ, И хъуреягъыр къигъэнэхуу, Иплъыхьу нэгу къэсыху гупсэхуу. Зэрыщу нэху ягъэункIыфIыну И фIэщ а мафIэм хэт хуэщIыну? Шу хъыжьэ жэщым епэгэкIхэм Я Iэщэ-фащэр холыдыкI. Шэрджэс лIыхъужьхэм я гукъэкIхэм МафIэм и бзийхэр къыдоудж. IV Шу хьэлэмэтхэм ящыщ зым И афэ джанэр дыжьын защIэщ. Абы бейгуэлхэр бгъэдэсыжщ, Хабзэу ирахыр яфIэмащIэу. Адрейхэр гупурэ зэхэсщ, Нэхъ пэгъунэгъуу мафIэ джэгум, Гум илъыр къищу щхьэж и нэгум. Зыгуэрым щэхуу уэрэд хеш, НэгъуэщIым фочыр егъэкъабзэ, Зэм-зэмкIэ жэщым тригъапсэу. КъызэфIоувэ мафIэр, пIэнкIыу, ЖиIэпу хэту и гукъэкIыр. Шэрджэс пщы хъыжьэри къотэдж, ЗиIэжьэжынукъым афIэкI. Мыращ и псалъэр пщым я пщыжым: «Си къуэшыр нобэ дэ тщIымыгъу, Урыс быдапIэм ар щаIыгъщ, Ирахкъым жэщи махуи лъэхъур. Зэгъэнкъым си гур, си лъэпкъэгъухэ, Хуит анэкъилъхур къэзмыщIыжу. V Ар пщIыхьым сэ къыщысхуэкIуащ. Ит хуэдэт, мыр къызжиIэу, пащхьэм: «Сыкъебгъэлынум, къысхуэпIащIэ. Зы жэщ нэхъ мыхъуми уэ зыпIэжьэм – УимыIэжынум щыщ сыхъуащ». Ар жиIэщ, гугъэу къызэплъыжри, Си шынэхъыщIэр бзэхыжащ. Сытэджри, фщIыгъуу сыкъежьащ – Згъэзэнкъым, хуит ар къэзмыщIыжу. Фи лIыгъэм си щхьэр хузогъэщхъ, Ауэ зыгуэркIэ фыщIегъуэжым, Фи жьэгу вгъэзэжмэ нэхъ къэфщтэжым, ЗыкIи си жагъуэ сымыщIын. Си закъуэу щытми, сыпежьэнщ Си натIэ итым. Ар къызоджэ. ЛIэныгъэрауэ ар къыщIэкIым, ЛIым зэрихабзэу, гъащIэр стынщ, Бий куэдым я псэри здэсхьынщ. Сыщыдыхьэнур я быдапIэм Ирехъу урысхэм я кIуэдыпIэ!» Щым хъуащ, ар жиIэри, пщы Iэлыр, И пащхьэ итхэм я нэм щIэплъэу. «Ирехъу урысхэм я кIуэдыпIэ!» - Пшэм хыхьэжащ и макъыр гупым. VI КъуэкIыпIэр пшэплъым ириIащ, МахуэщIэр уэгум къызэпхопсыр. Щыщынур нэху къыхуэмыгъэсу, Адакъэр, зиукIыжу, Iуащ, Пшэ хужьхэр, нэр щIрагъэлъафэу, Мэз щIагъэхъаем къыщхьэщытщ. КъыпфIэщIрэ пэт зихъуэжыгъуафIэу - Мы дунеижьыр зэрыщытщ. Зыкъызэкъуахыр дыгъэ бзийм, Йозауэ джэгуурэ кIыфIыгъэм, Ирахури ныбжьхэр щхьэхьу губгъуэм - Езыр я лIыгъэм йохъуэпсэж, Пхуэмыубыдыжу къызэрокIыр, ЩIы фIыцIэм хохьэ, псыми пхокIыр. Зэтож Тэрчыжь и Iупэ пIащIэр, Акъужьыр щабэу къепэщэщу. Нэхущ икIи къабзэщ уафэ лъащIэр. Вагъуэ цIыкIу къомыр кIэрыщэщри Дыгъэм и закъуэ къыхуэнащи, А зым щогугъ, а зыр егъафIэ. А хуабэм щыщ къыщылъэIэсым, Мэуври лъапэпцIийуэ мэзыр, И тхьэмпэ гъущэхэр къегъафэ. Нэм имылъагъу къарум ипхъуатэу Тхьэмпэ зырызхэри золъатэ. КъыпфIощI дунейм темытурауэ Тхьэмпэ лъэтам нэхъ Iэуэлъауэ. АрщхьэкIэ йолъ, иIэту сабэр, Шу гуп мэз лъапэм къыщежьар. Урыс быдапIэр зытет джабэм КIэрохьэ, ещхьу бжьэ къэпщIам. VII Щытам аратэкъэ махуэщIэм, КIыфIыгъэр зэригъэткIум ещхьу, ИгъэкIуэдыфу гуныкъуэгъуэр, Шынагъэ щIыIэ ди псэм егъур. Нэгу щIэкIа пщIыхьыр кIуэдыжащ, Япэрей бзийхэм япхъуэтэжри. Гур зыгъэныкъуэрщ къэнэжар, Имыгъэбауэу гукъыдэжыр. КъыщоIу быдапIэм Тхьэгъуш макъ, Пшэ щIэкIуэсыкIхэм яхыхьэжу, ЩIым къриIуэкIыр нэхъыбэжу… БыдапIэр сытым дежи сакъщ. Къэзакъхэр йоуэ бэрэбаным, Ягъэлъэгъуэну я къарур. Сэлэтхэр ещхьщ хьэ зэщIэбанэм, Щыпэджэм деж, лъэкI къамыгъанэу, Унафэр зейм и макъ жьгъырум. Езым и гъащIэмкIэ быдапIэр, Сыт щыгъуи хуэдэу, мэпсэуж. Плъыращи, хэт зегъэпсэхуж, Хэти бгы щыгур и зекIуапIэщ. Сэлэтхэм ящIэм йоплъ нэгъуэщIхэр, Члисэм макIуэхэр нэхъыжьхэр. Апхуэдэ защIэу кIуэн къыпфIэщIт, АрщхьэкIэ пшэхэм ящIыр нэщхъ, Арыххэу дыгъэр къуелъэфэжыр. Иджы уэгу лъащIэм зыкъегъэщхъ, КъызэфIищIэн хьэзыру уэшхыр. VIII ЗэбгрокIыжыр урысыдзэр, Я фочыр я плIэм ирадзэжу. Гъуэгущхьэ сабэр къигъэтэджу Ялъагъури зы шу гуэр къахуэжэу – ЯфIэмыфIыщэу къагъэзэжыр, Къэблагъэм нэр яфIытеплъызэу. Шур къожэ, шынэу зэплъэкIыжу. Зы ещI и къэси и къепсыхи. ЗоплъэкI щIэх-щIэхыурэ, кIэзызу, КъыкIэлъыса къыфIощI къэзыхур. Зыхуигъэзауэ псом нэхъыщхьэм, И макъ кIэзызымкIэ къепсэлъ: «Къыхуэблэгъащ шэрджэсхэр бгыщхьэм. Я губжьым мывэхэр къегъэплъ, КъыздэкIуэм чыцэр ягъэгъуэлъ! КъаIэщIэсхащ ерагъыу си щхьэр». VIII ЗэбгрокIыжыр урысыдзэр, Я фочыр я плIэм ирадзэжу. Гъуэгущхьэ сабэр къигъэтэджу Ялъагъури зы шу гуэр къахуэжэу – ЯфIэмыфIыщэу къагъэзэжыр, Къэблагъэм нэр яфIытеплъызэу. Шур къожэ, шынэу зэплъэкIыжу. Зы ещI и къэси и къепсыхи. ЗоплъэкI щIэх-щIэхыурэ, кIэзызу, КъыкIэлъыса къыфIощI къэзыхур. Зыхуигъэзауэ псом нэхъыщхьэм, И макъ кIэзызымкIэ къепсэлъ: «Къыхуэблэгъащ шэрджэсхэр бгыщхьэм. Я губжьым мывэхэр къегъэплъ, КъыздэкIуэм чыцэр ягъэгъуэлъ! КъаIэщIэсхащ ерагъыу си щхьэр». IX Псом я нэхъыщхьэр утыку къохьэ, Сэлэтхэр блыну егъэув. Адрейхэр псори зэрызохьэ, Шынащи, гъуэгу къыхамыхыф. Зыгуэрхэм куэбжэр ягъэбыдэ, НэгъуэщIхэр пIащIэу шым мэшэс, КъамыгъэкIуэну зы шэрджэс, КъимыкIуэтыну я псэр пыту. Шэрджэсхэм губгъуэр яуфэбгъу, Аслъэну нэхэр ягъэутхъуэ. Къэзакъ зыбжанэ хьэдэ мэхъу, Къэнахэр, зыкърагъэлу, щIопхъуэ. АрщхьэкIэ топыр хъуат хьэзыр - Урыс топышэр бийм яхохуэ, Шэрджэс гупышхуэ щIылъэм тохуэ. ИтIани игъэзакъым зым. Щхьэщыгум джатэхэр щолыдыр. Урыс сэлэтхэр ириуду, Зреч уIэгъэ хъуа шы хъыжьэм, Тесар къилъыхъуэ фIэкI умыщIэу. ЩэIу макъыр дэнэкIи къыщоIу, КъыпфIэщIу дунеижьыр щэIу. Х Ягъауэ топыр, щIыр дэхъейуэ. УIэгъэр, уафэм худэплъейуэ, Зыгуэрхэр хуэму къеIущэщ. Арыххэу и нэр щIилъэфащ, Лъэтащ нэху гуэр, къыхэкIри и пкъым. Щытауэ къыщIэкIынщ ар щыпкъэу… Игъабзэу джатэр, нэгъуэщI зы Урыс сэлэтхэм йобгъэрыкIуэ, АрщхьэкIэ ари жыжьэ мыкIуэ, Бжыр къыхаIуащи – покIыр псэм. Лъыр кърикIыкIми и уIэгъэм, Игъэгушхуэну хэтщ ныбжьэгъухэр, Езыри фочымкIэ мэIэбэ, Хуехь къарууншэу кIакхъум Iэпэр… Фочышэр дэнэкIи щофий, Топышэм еджэу къыпфIэщIыну. Мы щIым лъы пщтыру зыщIифар Адрей лъэныкъуэм щыпхыкIынущ. Зэхэуэр блынхэм йокIуэталIэ, БыдапIэм дэсхэр мэкIэзыз. Шэрджэсыр лIыгъэ хэлъу малIэ, Щыхэлъщ зэхэуэми нэмыс: Уи щIыб къыдыхьэу къопыджынкъым, КъыщIэплъэу уи нэм къозэуэнщ. УтекIуэу щытмэ – къохъуэпсэнщ, КъыптекIуэ хъурэ – къыпщысхьынкъым. Егъабзэ джатэр шэрджэс хъыжьэм, Къэзакъхэр шыбгъэкIэ ирихыу. Бийр къигъэнащ ищIэн имыщIэу, Зэхэзехуэн ищIащ арыххэу. Абы фочышэр къегъэпцIэф, Ар пфIощI шабзэшэми имыщтэ. ЩIолъэт къэзакъхэр, абы щыщтэу, ЯIуплъэм – джатэр яIэщIоху. Зэ бэкъуэжам – нэсынут куэбжэм, АрщхьэкIэ гупым къаухъуреихь, Лъэныкъуэ псомкIи къаудыныхь, КъыхеIу абы зыгуэрым и бжыр. Ар шэрджэсыпщым лIапIэ хуохъу. ЛIым я нэхъ хахуэр шым къохуэх. Абдежым мэхъу Iэнкун шэрджэсхэр, Я лIыгъэр плъагъуурэ мэкIуэщI. Шым темысыжыр ягъэкIэсри – Зыр адрейм еджэу зэдокIуэт. Иджыри шэхэр зэдолъэт. Щофий щIэпхъуэжхэм я щхьэщыгум. Зыгуэрхэр псэншэу тохуэ щIыгум. Къэнахэм защI кIапсэлъэрышэ, Зыщахъумэну хэтщ биишэм. Шэрджэсхэр мэзым егъэпщкIуж, КъаIэта сабэр мэтIысыж. БыдапIэм Iугъуэр щхьэщехуж. XI Щым хъуащ бгы нэкIур, уафэр щымщ, Нэщхъейуэ щIылъэм къыхуеплъыхыу. ТемыпыIэжу къежыхь жьым, Тхьэм ещIэ губгъуэм къыщилъыхъуэр. ЛъагапIэм плъырхэм къыщакIухь, Макъ зэхахыху я щIыфэр тхытхыу. БыдапIэм елъагъужыр пщIыхь, КъыхигъэщтыкIыу, игъэдзыхэу. Къэзакъыр мажэ, тесу шым, Ныбжь къыкIэлъыжэм игъэшынэу. Къуаргъыжьхэм зрадзыхыр щIым, КъраIукIыну хьэдэм и нэр. Яуфэбгъу аргуэру вагъуэм уафэр, Щолыд Iэнкуну бгыщхьэм мафIэр. Мэлыд къэзакъым иIыгъ джатэр, ХэпщIыкIыу лъым игъэулъияр. Дунейм и напщIэр фIыхолъэтыр - Хэт зыщIэр и гум ирилъхьар?..
{ "source": "adygabza.ru", "id": "sharkas.txt" }
Мыхэгъэрей КъыжыIэт, щIалэ къэумысыгъуей! Хэт фIыу плъагъур нэхъыбэ дыдэу? Уи анэра, уи адэ, уи шыпхъу, хьэмэ уи къуэшра? Анэи сиIэкъыми, Адэи, шыпхъуи, къуэши сиIэкъым. НытIэ уифIхэра? КъырагъэкIыр нобэми ныжэбэми сихамэ псалъэ гуэр къыбжьэдэкIащ. Уи хэкура нытIэ? Зыхуэзэр дэтхэнэ етхъэчIыгъуэрами сымыщIэкIэ… Дахагъэрагъэнщ фIыу плъагъур… Тхьэ’ейуэ (уафэрыхыу), кIуэдыжыджэу щытатэмэ сегуакIуэнт шэчыншэу. Дыщэра нытIэ? Фэ Тхьэм гужь зэрыхуэфщIым хуэдабзэу сэри абы гужь хузиIэщ. Арамэ нытIэ сыт уэ узэгуакIуэу щыIэр, ауэ къызэрымыкIуэ цIыхуу мыхэгъэрей? Пшэхэращ сэ сызэгуакIуэр… Мис мо… мо блэкIыу ежьэж пшэхэр, хуэдэншэ пшэхэр. Дахэрылажьэм и тхьэджэ Махуэ иухыр сыту куууэ пкъырыхьэрэ цIыхум, нэхъри бжьыхьэ махуэмэ… Ей сэрмахуэ! Псэм хэIэу пкъырохьэри… Сыту жыпIэмэ, зэхэщIэгъуэ гуакIуэ Iэджэ щыIэщ, зэрызэхэзеуэхэм имыгъэкIуэду ахэм я хьэлъэныр; итIанэ, зэрыаращи, гъунэншэм и дзакIэм нэхърэ нэхъ дзакIэ жани дэнэ къипхыжын. Уи пхырыплъыныр уафэми хыми я Iуфэншагъ, гъунэншагъым щызебгъэкIуэну зэрытхъэгъуэшхуэ. Закъуагъэр, щымыгъэр, уафэм и зыщыщхъуныгъэ хуэдэншэр… Жьым зэрихьэу, и цIыкIуагъымрэ, и закъуэпцIиинымрэ, и амалыджэнымрэ игъейыж нэхъей щIэплъыпIэм щызеуалэ кхъуафэжьейр, абы и дамэхэр… Хы сыджхэм я зымыхъуэжыныгъэм имухыж я уэрэдыр… Мис мыхэр псори сэ къыздогупщысэ; хьэуэ жыпIэрэ, сэ ахэм садогупщысэ нытIэ…Сыту жыпIэмэ, нахуапIэу тлъагъу пщIыхьхэм я хъииншагъэм ди езыныр апхуэдизкIэ занщIэу хокIуадэри, пхужыIэнкъым. «Мэгупщысэхэ» жысIащ. Пэжщ,ауэ ахэр псалъэдэгъэли, зэлъыт-зэгъапщэи, зэхуэгъэхъуи хэмыту, гухэщIыфэр нэхъ ебэкIыу, хуэтхьэмыщкIафэурэщ зэрыгупщысэхэр. ИтIанэми а гупщысэхэр сэ къыспкъырычIми, щыIэгъэхэм къыхихуми, псынщIэ дыдэу щIоухуабжьэ, мыцIыкIуфэкIуу. Хуабжьыгъэм езым пIейтеиныгъэ гуэр, ткIыбжь гурыхь гуэр къыщыхокIыж IэфI зэхэщIэгъуэм идеж. Егъэлеяуэ шэщIа хъуа си ирижапIэхэм[1] мэкъамэм ипIэкIэ макъ цIу; зэхэзеуэм ипIэкIэ хъеин, бжьыбжьын фIэкIа щызекIуэжкъым. Иджы къысщыхъыжьау мы уафэм и кууагъым уIэбжьыгъуэр къызет; и зэщыщхъуным сипIэм сыреху. Хым и къыфIэмыIуэхуныгъэми, Iуплъэгъуэ зыхъуэжыншэу нэм къыIуувэхэми саущэгу, схуэмыхьыж сащI… Уэху мыгъуэ! Зэпымыуу гъэвынIа хуейуэ, хьэмэрэ зэпымыуу дахагъэм зэпыIудзын хуейуэ ара? Езырыххэ щыIагъэ! Нэщыпхъуэзехьэ гущIэгъуншэ!ТекIуэзэпыт пэщIэтакIуэ…! СчIэрычI хъунумэ… Си пабгъэнымрэ си гъэщIагъуэкIэмрэ гъэIулэныр къэгъанэ! Дахагъэр буплъэкIуныр щIакIуэчIапэщ. Дахэрылажьэр гужьеигъуэчIэ хочIиичI а щIакIуэчIапэм тоувэри. Аращи…хощIэ… _____________________ 1) ИрижапIэ-зэхэщIапIэ; нерв. ФочауапIэмрэ кхъэлъахэмрэ «Кхъэм хуэплъэ ефапIэ» ефапIэм фIэпщу икIи тептхэжыну фIэщыгъэ нэхъ гъэщIэгъуэн дэни къипхыжынт,- жиIащ игукIэ ди зы къуажэ зэхэзекIуэлIым,- ауэ псыхуэлIэ къебгъэблыну ухуеймэ, абы нэхъ хуэщIаи бгъуэтыжынкъым. Мы ефапIэр зейм Хораси Эпикур и гъэсэн усакIуэхэри икъукIэ игу ирихь хъунщ, Тхьэм ещIэри: къупщхьэпкъ лъэпкъ щызырамыхьэу е гъащIэм и кIэщIагъыр къэзгъэнаIуэ нэщэнэ гуэр ямыIыгъыу дэуэ-дэпщэ зэхэзымышэу щыта пасэрей Египэтдэсхэм я гулъытэ кууми щыгъуазэщ атIэ дауи ар». Ахэр зэригъэзахуэурэ ефапIэм щIэхьэри и гупэр кхъэлъахэмкIэ гъэзауэ етIысэхри фадэ пIащIэ гуэри ирифащ, зы Iугъуи пыригъэхуащ, мыпIащIэурэ. Ауэрэ мы пщIантIэм дэхьэу мащэхэм ябгъэдэхьэну къизэрыхьащ игу. Удзыр кIыру щызэщIэкIау, урагъэблагъэ фIэкIа умыщIэу; дунейр зи беягъ дыгъэм и тетыгъуэр щекIуэкIыу абдежым. Пэж дыдэу, нэхумрэ хуабэмрэ я гуащIагъыр къызэкъуахати ялъэкI къагъанэтэкъым. ХэкIуадэжыныгъэм хэшхыкIыу къэпшэру къэщIэрэщIа мор зи дахагъ удз гъэгъа алэрыбгъум чэфу тегъуэлъхьау телъи мы дыгъэр жыпIэнт плъэгъуатэмэ. Гъунэрэ нэзрэ зимыIэ псэуныгъэм – цIыкIу хъуурэ адэкIэ цIыкIу хъупIэ къызхуэмынэжа псэущхьэхэм я псэуныгъэм - и зэщIэвэ макъыр щызщ уэми щIыми. Зэмызи фочауэ макъ гуэр къыхоIучI, абдежым пэмыжыжьэ нэщанэуапIэм къиIукIыу; зэгъэпщауэ пIалъэ тIэкIукIэ зэпыум къиублэжурэ макъ земыгъэIэтакIэ къеуэ симфонием къыхэпIэнкIыкI шэмпан щхьэтепIэ макъым ещхьу къоIу фоч уэ макъыр. И щхьэкуцIыр къигъэплъу дыгъэр жьэражьэу, лIэныгъэм къыхих мэ гуащIэр зэхищIэу зыщхьэщыс мащэм къыщIэIукIыу Iущащэ макъ зэхихащ зэу. Мыпхуэдэу жиIэт Iущащэм: «Фи нэщанэ техуапIэхэми, фи карабинхэми нэлатыр къыхукIуэ, лIахэри ахэм я зыгъэпсэху Тхьэ IэщIагъэри къызфIэмыIуэху зэрыхь-зэрий гуп! Фи нэхъуеиншэным нэлатыр къытихуэ, фи зэгъэзахуэхэм нэлатыр къытихуэ, лIэныгъэм и унэм и деж къажэу укIыкIэ зырагъащIэу къэува лIэжынзащIэ пщтырафэхэ! ТегъэпсыхьыпIэм утехуэу сэугъэтри къэблэжьыныр зыми зэрыщымыщыр фщIэтэм, мыпхуэдизу зывукIыжынтэкъым, псэущхьэ лэжьакIуэшхуэхэ; ТехуапIэм я нэхъ иным, мы гъащIэ гурымыхьым и техуапIэ закъуэм Iэджэ щIау техуагъэххэу мыбдеж щIэлъхэм я жейри апхуэдизу къэвгъэутхъуэнтэкъым". ЗэзыдзэкIар Гуащокъуэ Абдулщ
{ "source": "adygabza.ru", "id": "sharl.txt" }
Гугъуэт Заремэ Тхьэмпэ зэмыфэгъу Бжьыхьэкур тхьэмпэ зэмыфэгъущ. Си гукъэкIыжхэм я жыг хадэм ЩIалэгъуэ псысэ щызолъагъу Гухэлъ IэплIакIуэм сахигъадэу. Бжьыхьэкум гупсысэн и хьэлщ, Уэ къыхэпха жыг тхьэмпэр сщIатэм!.. ЩIалэгъуэм, бжьыхьэ, сыкъегъэл, Си лъэгум тхьэмпэр щигъэятэм. Зыгуэрым жеIэ: "Узифэгъущ", Уэшх щабэу ар къыскIэлъокIуатэ. - Сэ уэшх сщIыгъуакъым, къысхуэгъэгъу, СщIыгъунур дыгъэт уэр мыхъуатэм... Мис дыгъэр тхьэмпэм къыдоджэгу, И хуабэ кIапэр ипхъуэтэжу. Сригъэплъэну зэ и нэгу Мы бжьыхьэ хадэм сыкъищIэжу? Щызэхызохыр ди уэрэд, Бжьыхьэзэпэдзу зэхэтлъхьауэ. Жыг хадэм и пэр сымыгъуэт, Гупсысэр и кум щискъухьауэ... ЩIалэгъуэм жиIэр сыту куэд, Бжьыхьэкум лъапцIэу сришауэ?! Си гукъэкIыжым дапщэ хэт, Гухэлъым тхьэмпэу Iэпыхуауэ?! 27.10.20I5. Бемырзэ Зураб Усэхэш Гугъуэт Заремэ и "Тхьэмпэ зэмыфэгъу"-м пэджэжу ЩIымахуэр напэ зэмыфэгъущ. И шылэр бзэхумэ, уаер-Iэдэу. Дыгъэнэ къабзэм и дауэгъущ, Уафэгур и гупсысэ матэу. ГубгъуэщIым теубгъуа тепIэнщ Зы лъэужь закъуэ пхырыкIауэ, Лъэбакъуэ мыщIэурэ згъэнэн Мы гъащIэм мащIэу къеуэсауэу. Абы сэ дауэрэ жесIэн Езым пэмыщI дунеи щыIэу?! И уэс гъэфIэным къедэуэн Хуабагъэм ищIыжыну псыIэу? Шы гуартэу куэщIым щыхъуэкIуа Пшагъуэбэм я лъэхэр щIэхуну, Гъатхэпэм, и уэс бын къэткIуам Я гуауэм псыдзэу ихьыжыну… Арами, мы дунейр – гъейрэтщ. Сыбакъуэм, къыскIэлъыхьэр бжьыхьэу, ПщIащэбэ пыхужам сыхэтщ, Налшык уэлбанэм сыри-псыхьэу, Гъуэмылэ гугъэурэ сшхыжам, НэгъуэщI насыпкIи сыхуэхъуапсэу, Гупсысэ мэш Iузмыхыжар Уэрам уэшхылэхэм щыпсапсэу... 28.10.2015. Гугъуэт Заремэ Бемырзэ Зураб и «Усэхэшым» пэджэжу * * * Уи щIымахуэкIэм илъагъунщ Гъатхэм и макъыр къызэрикIыр. И хуабэ Iэсэм игъэткIуа Уэс псыхьэлыгъуэр жыгым щIикIэу. Пэжщ, гукъэкIыжу ежэхынщ Уэс къабзэм къытена лъэкъуапэр. ЩIымахуэм сыт къыхэпхыжын? - А уэс чэсейуэ хужь и напэр! ИтIани. ЩIылъэм къыщIэщынщ Губгъуэ гъэфIэну ажэгъуэмэр. Мы гъатхэм псэщIэ и щыгъынщ, И теплъэр фIэфIщ игъэлъэгъуэну. ГукъэкIыж хадэм жыг щотIэпI, ГухэлъкIэ бауэу къызэрокIыр. Дыгъэ Iэ щабэм къану епI И куэщIым махуэу щызэблэкIыр. Гъэгъам жьы мащIэ йопэщэщ И макъыр хадэм къринэну. Зыгуэрым си цIэр къеIущэщ, И гъащIэм гъатхэ къыхинэну. Гъатхэкур гъэгъа зэмыфэгъущ, Жыг щхьэкIэм уафэ щоуназэ. Гъэгъам и Iэпэр жьым иIыгъщ, ЛъигъэIэсын и гугъэу мазэм. 29.10.20I5. Бемырзэ Зураб Гугъуэт Заремэ и "Уи щIымахуэкIэм илъагъунщ" усэм пэджэжу * * * Сэ, жысIэм, сIуатэурэ сешащ Гъатхэ Iэрысэр зэры-мыхъур. Псыхьэлыгъуэдзэм гъуэгу хишар Псы ежэх Iуфэ щIысхуэмыхъур. ГъащIэр сиIэнукъым тIэуней, Мелуанрэ гъатхэм къигъэзэжми, КIэ кIэщI накъыгъэ Iэрысейр Пхъужь хэкIэсауэ къэгъагъэжми. Абы и плъапIэр гъэмахуэпсщ, Дыгъабэ уэгум Iэ къыдилъэрщ, Хьэпшыр епхауэ, махуэгъэпс - Пщэхъу дахэу пIалъэкIэ зэрихьэрщ, Гъэмахуэм и псэ кIэрыщIэнщ, Цыджан сабийуэ кIэрыхужу, Мазищ дуней къэзыгъэщIэн ГъэгъакIэ щIыIэр ищэхужу… Арами, хьэршри лъэлъэжынт Псэр делэгъуафIэу щымытамэ, Уи лъагъуныгъэри лIэжынт Гугъаблэм ихьыжа Iэрамэу, Бжьыхьэпсыр щIасэ зыщIыжын Хуабагъэр псэгъу зыхуэдмыщIамэ, Зэгуэр, ажалри зыхьэжын Щхьэл цIыкIуу, гур едмыгъэжьамэ… 30.I0.20I5.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "sharyps.txt" }
«УсакIуэхэм япщ» зыфIаща Шэукъий Ахьмэд 1870 гъэм Каир къыщалъхуащ. Илъэс 15-м иту курыт еджапIэр къиухащ, щIэныгъэ нэхъыщхьэр Франджым щызригъэгъуэтащ. Ахьмэд абы зыгъэкIуар Мысырым и тет Тэуфикъ хедивырщ. Ар Париж илъэсищрэ ныкъуэкIэ щеджащ икIи Мысырым I894 гъэм игъэзэжащ. Тэуфикъ хедивыр дунейм ехыжу Аббас тетыгъуэр щылъысами, Шэукъий Ахьмэд пащтыхь чэщанэм щIэсхэм хуэлэжьащ. Ар усакIуэ хэхауэ къалъытэрт, Аббас хедиври игъэныбжьэгъурт, куэдымкIи и чэнджэщэгъут. УсакIуэм и тхылъ «Аш-Шэукъият» зыфIищам и япэ Iыхьэр 1890 гъэм дунейм къытехьащ. Япэ дунейпсо зауэр (I9I4 гъ.) къэхъейуэ инджылызхэм Мысырыр щаубыдым, зэрыпхъуакIуэхэм я ней къыщыхуэри, Ахьмэд Испанием яхуащ. А къэралым ар илъэсиблкIэ исащ. Шэукъий Ахьмэд 1932 гъэм жэпуэгъуэм-октябрым и 23-м дунейм ехыжащ. Профессор Бацэжь Мухьэмэд-Хъер и «Адыгэ тхыдэ щIэнгъуазэм» абы теухуауэ щетх: «Шэукъий Ахьмэд и адэр адыгэщ, и анэр алыджщ, I870 гъэм жэпуэгъуэм и I6- м къалъхуащ, щылIэжар I932 гъэрщ». Езы усакIуэм зэритхар мыпхуэдэущ: «Сэ сыхьэрыпщ, сытыркущ, сыалыджщ, сыадыгэщ». Ахьмэд усэныр къыдалъхуат, абы и гъащIэм къриубыдэу усэ сатыр 23.500-рэ итхащ, хьэрып усакIуэхэм апхуэдиз зытха яхэткъым. Шэукъий пьесэу плIы иIэщ, муслъымэн тхыдэм теухуа и поэмэр сатыр I400-рэ мэхъу. И поэмэхэр щызэхуэхьэса тхылъхэр томиплI хъууэ къыдэкIащ, щыр - езыр псэууэ, еплIанэр - дунейм ехыжа нэужь. Шэукъийр тетхыхьащ хэкум, фIылъагъуныгъэм, Мухьэмэд бегъымбарым, политикэм, еджакIуэхэм я гурыгъу-гурыщIэхэм: хэти щытхъурт, хэти иубырт. Ататюрк инджылызхэм щапэщIэувэм щытхъуащ, хъэлифатыр зэригъэкIуэдыжым щхьэкIэ иубащ. И гурыфI къикIамэ, цIыхубэм я гурыфIыгъуэхэр къиIуатэрт, и гурей къихьамэ, я гукъеуэхэр утыку кърилъхьэрт. Къалмыкъ Аднан ЗэзыдзэкIар Къалмыкъ Аднанщ Сыт жаIэн пщэдей? Хамэр си телъхьэу, Iыхьлым сапэщIэувэнкъым. Ди Тхьэ ! Муслъымэнхэм сыт жаIын пщэдей, Си лъэпкъым, си адэшхэм, Си анэшхэм сапэщIэувэмэ. КъуэкIыпIэми, къухьэпIэми, щыжаIэнщ: ИкIагъэ ищIащ. Къамэ къафэ Пщэдей уэлийм Амал хуашэнущ. Зыкъифх шэрджэс бгыхэм, Зи лIакъуэр лъагэм, ГуфIэгъуэр хуэфIэт, Къамэ къафэр щIэвгъэст. Къалэм дэсри, ПшахъуэщIым исри къекIуэлIэнущ. Хэтыр гуфIэгъуэм хэтщ, Хэтри гуфIэгъуэм йоплъ. ГуфIэгъуэшхуэр фIэт ! Къамэ къафэр щIэвгъэст. Пщэдей щIэблэр бжьыфIэнущ, Мысыр гуфIэгъуэр тепщэнущ. КъыкъуэкIынущ дыгъэр, мазэр, ЩIэблэр абыкIэ бжьыфIэнущ. ГуфIэгъуэшхуэр фIэт ! Къамэ къафэр щIэвгъэст. Зэхьлэ* ПщIыхьым ещхьу укъыщысхуэкIуэм, къуакIэдэс! Дамэ къыстекIащ. Уи щабагъыр сыщыжейкIи зыхызощIэ, ГукъэкIыжхэр илъэс блэкIахэм я пэджэжщ. Тафэм ит лъэгапIэм сыблэкIащ- Уэрэдт, сыщыпхуэзэт абы и деж. УнэфIэгуфIэт, Уи бауэ макъри зэхэсхащ. Сыщыпхуэзэм, уи нитIым къаплъыхьауэ щыта, псыежэхыр къэзылъэтыхьхэм, сыхашащ. Уи сабиигъуэр уигу къэкIыжрэ, УкъыщылъатэкIэ уи лъэм бахэр зэригуэштэр? Си IэблитIым ущIауфэхункIэ къысхуэщIакъым, Гум къыбгъэдэкI IэплIэ хуабэм и IэфIагъыр. Си IэгуитIым уи пкъыр илантIыхьри, НэкIущхьитIыр укIытэм дыхьэрэн ищIащ. ЖэщитIкIэ, кIыфIу, сыплъихьэри, Уи IупитIу нэхущ плъыфэм ба хуэсщIащ. Ятелъ уэсэпсым сыщигъэуназэм, Уи дамитIым сыщIауфащ. Псалъэм и бзэр зэриубыду, Си нитIыр уи нитIым епсэлъащ. Си щхьэм къихьа псори езгъэзэкIри, Дызэхъурджэуауэ зэрыщытари сщыгъупщащ. ПIалъэм и кIуари и къэкIуэнури зэдэхасэри, Дыщызэрыгъуэтыну махуэр яубзыхуащ. *«Зэхьлэр» къалэцIэщ. Хьэрып усакIуэхэм я хабзэщ фIыуэ ялъагъу пщащэм занщIэу зыхуамыгъазэу, ар езыхэр дэзыхьэх къалэ, щIыпIэжь, псэущхьэ дахэ-щыхьым ирагъэщхьурэ я гум илъ фIылъагъуныгъэр къаIуатэу.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "shauky.txt" }
Ромеуэрэ Джулетэрэ ЗэзыдзэкIар Къармэ Iэуесщ ЕтIуанэ теплъэгъуэ (пычыгъуэ) Джулетэ: Хэт уэ мы гъуэгур уэзыгъэлъэгъуар? Ромеуэ: Ар къигъуэтащ си лъагъуныгъэм Сэ сыхыдзэлIкъым, вагъуэ семыджэф, Ауэ хым адкIэ ущыIэми, щIы гъунэм СимыкIуэтыжу уэ укъэзгъуэтынт. Джулетэ: ЩIехъумэ нэкIур жэщым хомылъагъуэу, Армырамэ сэ укIытэм сисыжынт, Сэр щхьэкIэ куэд къэпщIащи согъэщIагъуэр А жысIа псоми уезмыгъэдэIуэнт. Ауэ блэкIащ, уэ псори зэхэпхакIэщ, НэгъуэщI жысIэну къысхуемыгъэкIуж, ФIыуэ сыплъагъумэ, кхъыIэ, уэ къызжеIэ. «НтIэ» жыпIэнущ, сощIэ, умыпIащIэ. Тхьэ зыIуэр жаIэр хэтми пцIы иупсу, УмыгушыIэ, пэжмэ, уэ къэзгъащIэ. СыхэгъэкIыж мы сызыхэт гупсысэм. СыкъыпщыхъункIи хъунущ уэ щхьэпсыншэу, Сэ дауэ жысIэр уэ уи фIэщ сщIыфын? Сэ къэзгъэнэнщ уи псалъэр жэуапыншэу АбыкIи япэ сэ сыщIегъуэжынщ. Пэжщ, апхуэдизу сэ уэ узолъагъури, Уэ къыпщыхъункIэ хъунущ ар делагъэу, Ауэ бжэкъуагъым загъэхъыджэбзыфIу МыщI къуэтхэм нэхърэ сынэхъ нэмысыфIэщ. Зэтеубыдауэ сыщытын хуеящ. Пэжщ. СощIэ. Ауэ жысIэпащ Сигу илъхэр зэхамых си гугъэу Ар къомылъытэ уэ си щхьэпсыншагъыу. Ромеуэ: Си псэгъу, тхьэ соIуэр уэгум ис мазэгъуэу КъэзыгъэнэхумкIэ гумащIэу мы ди мэзыр Джулетэ: Зэ, мазэмкIэ умыIуэ Тхьэ, ар пщIэрэ… Зехъуэжыр мазэ къэскIэ зэ. Ромеуэ: Сыт щIэсIуэнур? Джулетэ: ЗыкIи тхьэ умыIуэ. Е Iуэж уэ уи щхьэмкIэ, аращ нэхъ лъапIэр. Ромеуэ: Тхьэ соIуэр, сэ си псэгъу, мы си гур… Джулетэ: Хьэуэ, си фIэщ мэхъу. Ауэ, сыт хуэдизу Сэ фIыуэ узмылъагъуми, сошынэ. ПсынщIэу дызэрызэхуэзэу Дигу илъхэр занщIэу къызэхуэтIуэтащ. Ар къэлыдащ, дэ тIуми дымыщIэххэу Иджы дыщызэхуэзэм деж жытIэнщ Зэрыдухуэнур дызэгъусэу гъащIэр. Уи жэщ фIы ухъу! НэхулъэфI укъикI! ЗэкIэщIэпщIыпщIэу си дуней къыщIэнэм Уэ сынохъуэхъу ныжэбэ уепщIыхьыну. Ромеуэ Дауэ апхуэдэу псынщIэу сызэрыкIуэжынур? Джулетэ: НтIэ, иджыри сыт дэ зэжетIэнур? Ромеуэ: Тхьэ сIуащ. Тхьэ Iуэныр уэ иджы къыплъос. Лир Пащтыхьыр ЗэзыдзэкIар Бещтокъуэ Хьэбасщ Лир – Британием и пащтыхь. Франц – пащтыхь Бургундием и герцог. Корнуэл – герцог. Альбани – герцог. Граф Кент. Граф Глостер. Эдгар – Глостер и къуэщ. Эдмонд – Глостер и къуэ, нэчыхьыншэу къалъхуащ. Куран – бейгуэлщ (придворнэщ). ЛIыжь – Глостер и щIым пщIэкIэ телэжьыхьырщ. Дохутыр Шут Освальд – Гонерилье и дворецкэщ. Офицерыр – Эдмонд и блыгущIэтщ. Корделие и бейгуэл Герольд – герцогым и IуэхутхьэбзащIэщ. Корнуэл – герцогым и IуэхутхьэбзащIэщ. Гонерилье – Лир ипхъущ. Реганэ – Лир и пхъущ. Корделие – Лир и пхъущ. Лир и шуууейхэр, офицерхэр, хъыбарзехьэхэр, зауэлIхэр, бейгуэлхэр. Iуэхур щекIуэкIыр Британиерщ. Къыщыхъуар, хъыбарыжьхэм къызэраIуэтэжымкIэ, ди эрэм япэ къихуэ 9-нэ лIэщIыгъуэр аращ. (Голиншед и календарымкIэ дунейр щаухуа махуэм къыщыщIэдзауэ 3I05 гъэрщ). Езанэ акт Езанэ теплъэгъуэ Пащтыхь Лир и быдапIэм хэт трон залырщ. Кент, Глостер, Эдмонд къохьэ. Кент Альбани герцогыр пащтыхьым нэхъ игу ирихьу си гугъащ Корнуэлым и герцогым нэхърэ. Глостер Псоми апхуэдэу къытфIэщIу щытащ. АрщхьэкIэ иджы, пащтыхьым хэкур щигуэшым, абы нэхъыфIу илъагъур къэщIэгъуей хъуащ. Iыхьэхэр апхуэдэу хуэIэзэу зэпишэчащи сытым хуэдизкIэ набдзэгубдзаплъэу ахэр зэпумылъытми, мыращ нэхъыфIыр жыпIэу, зыр къыпхухэхынукъым. Кент Ууей мы щIалэр, зи щIыхьыр ин? Глостер А щIалэр мы дунейм къытехьэныр, зиусхьэн, сэ сыхэмылIыфIыхьу зэфIэкIауэ жыпIэ хъункъым. АбыкIэ зызагъэумысыжыху плъыжь сыхъуурэ, икIэм-икIэжым сримыукIытэжу сесэжащ. Кент ЖыпIар къызгурыIуакъым, зи щIыхьыр ин. Глостер Езы щIалэфIым и анэм зы Iуплъэгъуэ закъуэкIэ сыкъыгурыIуэри, лIы игъуэтым ипэ къихуэу и гущэм щIалэ цIыкIу къихутауэ щытащ. ЕмыкIу сыкъэпщIынуми ухуитщ. Кент Мыпхуэдэ щIалэ ахъырзэманкIэ Iуэхум и кIэр щиухакIэ емыкIу щыIэж абы. Глостер Сэ щIалэ сиIэщ, нэчыхькIэ къалъхуауэ, мыбы нэхърэ зы илъэсым щIигъукIэ нэхъыжьыну. Ауэ ар сэ зыкIи нэхъыфIу слъагъуркъым. Мы щIалэр кърамыгъэблагъэу мы дунейм къытехьа щхьэкIэ, и анэр тхьэIухуду щытащ. Абы тхъэжыгъуэ Iэджи дэслъэгъуащи, мыбы сызэриадэри сыбзыщIыркъым. – Мы зиусхьэныр пцIыхурэ хэтми, Эдмонд? Эдмонд Хьэуэ, зи щIыхьыр ин. Глостер Кентщ. Умыгъэгъуащэ графыр, ухуэмынэмысыншэ. ИкъукIэ пщIэшхуэ зыхуэсщI си ныбжьэгъущ. Эдмонд Зи щIыхьыр иным сыногуапэкIыфмэ си насыпу аращ. Кент Укъызогъэгугъэ фIыуэ услъагъуну нэхъ дызэрыщIа нэужь. Эдмонд Сэри абы узэрыхущIезмыгъэгъуэжыным иужь ситынщ, зиусхьэн. Глостер Мыр нэгъуэщI хэку илъэсибгъукIэ щыIащ. Мыгувэуи аргуэру ежьэжынущ… Мыбы къокIуэ пащтыхьыр. Iупхъуэм адэкIэ накъырэхэр щагъаджэ. Лир, Корнуэл герцогыр, Альбани герцогыр, Гонерилье, Реганэ, Корделие свитэр ящIыгъуу къохьэ. Лир Францым я пащтыхьымрэ Бургундием и герцогымрэ къысхуеджэт, Глостер. Глостер СокIуэ, зиусхьэн! Глостеррэ Эдмондрэ йокI. Лир Аращ. Иджы щыгъуазэ фыхуэсщIынщ Сэ си унафэм. Къысхуэвубгъут картэ. Мис, исщIыкIащ Iыхьищ си лъахэ дахэр. Сыхуейщ бжьы хьэлъэу си пщэ кхъахэм дэлъыр НэхъыщIэхэм я пщэпкъым дэзгъэзагъэу Си бэным нэхъ псынщIагъуэу сигъуэлъхьэну. Уэ, Корнуэлым и къуэу псэм и щIасэ, Альбани и къуэу ди гур зыхуэIэфI, Си пхъуитIым дыщрыкIыу яхуэзгуэшыр Сэ иджыпсту фэ тIум фэзгъэлъагъунщ. Фяку зэныкъуэкъу къимыхъуэжыным папщIэ. Хъыджэбз нэхъыщIэ дыдэм и лъыхъуфIхэу – Франц пащтыхь лъапIэр, Бургундием и герцогыр – А тIури нобэ поплъэ ди жэуап. Хъуащ и чэзу, сыкъыпокIуэтыр властым, ЩIыналъэу диIэм я унафэр щIынми, КъызжефIэт: фэ си пхъуищым хэт нэхъыфIу Сыкъэзылъагъур – Iыхьэхэр щызгуэшкIэ Сыхуейщи нэхъ хьэлэлу сегуапэну, И лъагъуныгъэм зэрыхуэфэщэнкIэ. Гонерилье Си лъагъуныгъэр псалъэм къимытIасэ, Хьэуа сызэрыбауи, дыгъэ нур, Си нитIыр зыгъэгуфIи, мы дунейм Беягъэу телъи, хъугъуэфIыгъуэу тети Си узыншагъи, напи, си дахагъи ПэзмыщIыфыну пхузиIэ лъагъуныгъэм. Дунейр къызэриухуэрэ зы бын Сэ схуэдэу фIыуэ илъэгъуакъым адэ. А лъагъуныгъэм дохъур жьажьэ си бзэр, Псэр умэзэхыу сищIу бауэкIэщI. Корделие (ЛъэныкъуэкIэ) Сыт жыпIэфын, Корделие? Зы псалъи. ЖызмыIэIауэ псэкIэ услъагъунщ. Лир Узотыр уэ мы Iыхьэр зы къэмынэу, Мыбдеж щыщIидзэрэ еуэлIэжыху мыбдеж. Мэз беи, псы абрагъуи, губгъуэ хуити – ИгъащIэкIэ фи мылъкуу, уэ – си малъхъэми, фи бынми. ДодаIуэ – къызжиIэнум дипхъу етIуанэм – Реганэ, Корнуэлым и щхьэгъусэм. ЖыIэ, си хъыджэбз! Реганэ Си шыпхъуми сэри тщIэтыр зылъщ, си адэ, Дэ тIум ди уасэр зэхуэдэу къыщIэкIынщ. Абы жэуапу уэ къуитам къеIуатэр Сэ ныбжесIэну къысхудэмышейр. ЩIызгъужми щIызгъужынур мы зы закъуэрщ – Уэ, си адэфIым, пхузиIэ лъагъуныгъэрщ Сэ гурыфIыгъуэу щызиIэр мы дунейм. Корделие (лъэныкъуэкIэ) Сэ мыгъуэ сыту сытхьэмыщкIэ. Хьэуэ. Си лъагъуныгъэр си псалъэхэм йобэкI. Лир Ди къэралыгъуэм мы и Iыхьэ щанэр Узот уэ. И инагъкIи и беягъкIи Ар Гонерилье ейм къыкIэрымыху, Иджы додаIуэ жиIэнум сипхъу нэхъыщIэм, Адрейхэм педмыдзыхыу фIыуэ тлъагъум, Франц хэкум и жызуму дыгъэ Iэпэр Бургундием и гъэшым щIидэуэгъум. Сыт къызжепIэнт уи шыпхъухэм ялъыса ДыщрыкIым ебэкI лъапсэ иростыну? Корделие ЗырикI, зи щIыхьыр ин! Лир ЗырикI жумыIэнуи? Корделие ЗырикI. Лир Уи зырикIым къикIынуIакъым зырикI. КъызгурыгъаIуэ. Корделие Си насыпыншагъэти Сэтей къысхуэщIу гум илъыр семыса Адэ зэрылъагъупхъэу узолъагъур. Лир Егупсысыжи гъэзэкIуэж щыуагъэр, ИужькIэ ущIемыгъуэжыным папщIэ. Корделия Уэ гъащIэ къызэптащ, зи щIыхьыр ин. Балигъ сыхъуху супIащи, фIыщIэ пхуэсщIу Уэ узолъагъур фIыуэ, уи унафэ Зы бжьизкIэ сыфIэмыкIыу. Сыт си шыпхъухэм Щхьэгъусэ зэращIынур. Уэр нэмыщI НэгъуэщI зыгуэри фIыуэ щамылъагъукIэ. ЖысIэнщи пэжыр, сэ щхьэгъусэ згъуэтмэ, Гуапагъэ, лъагъуныгъэу схэлъым щыщ Абыи лъызгъэсынщ. Си шыпхъухэм ещхьу Унагъуэ сихьэфынкъым адэ закъуэм НэмыщI слъагъуну гур хуэмыхьэзыру. Лир ЖыпIара уигуми илъыр? Корделие А жысIаращ. Лир Ухъуащ щIалэIуэу гущIыIэ-псэщIыIэ. Корделие СыщIалэщ, пэжщ. Гум илъырщ жьэми жиIэр. Лир ПхузощI уи жьэ нахуагъэр дыщрыкI. Емышу къаблэ дыгъэм и нур къабзэр, Щэху щIыIэу щIыкъатиблым щIэлъу хъуар. Жэщ къару лъагэр, зи фIыщIэкIэ дыкъалъху, Дэ зи IэмыркIи дылIэж мо вагъуэ хужьхэр СогъэпцI сэ мы тэлаим щыщIэдзауэ Дызэхьэрэму дызэбгъэдэмыкIмэ. Узипхъукъым. Суриадэкъым. УсцIыхукъым. Зэгуэрым сипхъуу щытыгъа уэр нэхърэ НэхъыфIу схуэлъагъунущ скиф ерури, Зи бын бгъуэнщIагъым щызышхыж цIыху Iэлри. Кент Ар дауэ, зиусхьэн? Лир УвыIэ, Кент! Зэтебэяуэ уи пщэр хуумышийуэ Благъуэ губжьам и дзэпкъ къызэщIэплъам. Абы нэхъыфIу слъагъу сэ бын сиIакъым. Сыгугъэти нэхъыщIэм и жьэгу пащхьэм Си жьыщхьэр щыхуэбэнкIэ къысхуэнам. КIуэ аддэ, псынщIэу, зызумыгъэлъагъуу… Си мащэм мамырыгъэу тепсыхэнумкIэ Тхьэ соIуэ: сыпсэуху узихьэрэмщ. КIэлъызгъэкIуати французхэм я пащтыхьым. ЗдэщыIэр дэнэ Бургундием и герцогыр? Сыт фыщIыщытыр – ара зэхэвмыхауэ? Альбани, Корнуэл, фэстам пывгъахуэ Къэна мы Iыхьэ щанэр. А хъыджэбзым И жьэ нахуагъэу къыщыхъуж пагагъэм Езым хуэфэщэж лIы къыхуигъуэтынщ. КъэмынэIауэ фIэщIызолъхьэ властыр, Чэзууэрэ фи деж сыщыпсэунщ, Зы мазэм – зым, адрейм и деж зы мазэм Сэ къызыхузогъанэ шууеищэ, Абы къыдэкIуэу – нобэм щыщIэдзауэ Пащтыхь цIэ лъапIэри сысейуэ къренэж. ЩIым къытетх хъери, хэкум хэхъуэу къихьи, Зауэ хуэIухуэщIэм я унафи, власти Сэ фи IэмыщIэ зэрислъхьэм и щыхьэту Си пащтыхь тажыр зэхуэдитI ифщIыкI. (Коронэр ярет) Кент Си зиусхьэну, си пащтыхьу лъапIэ, Си адэу слъытэу, зи псалъэр сэ си дин, Си пащтыхь ин… Лир Бэяуи, уи щхьэр хъумэ, ШэщIащ шабзэкъур. ПсынщIэу гъуэгум текI. Кент Бгъэм къеуэ, гъуанэ хъункIэ умышынэу, Кент жьэнахуэнщ, щыкъаплъэнэфкIэ Лир. Уи гугъэу пIэрэт-тIэ лIыжь щхьэзыхуэхъум Пебгъэчыфыну и бзэр жьэнахуагъэм, Ар фэрыщIагъым щыпэIэгъуэм деж. Пэж дыдэм цIыхухэр нэхъри мэхъу хуэныкъуэ, Илэжьу хуежьэм пащтыхьым делагъэшхуэ. Умыт уи пащтыхьыгъуэр. Уи къарур Зэхуэхьэсыжи екъух уи губжь къэкъуалъэр. Си гъащIэмкIэ шэсыпIэ сэ сыпхуохьэ Уипхъу нэхъыжьитIым нэхърэ мынэхъ мащIэу Корделие уэ фIыуэ укъилъагъуу. Зи бзэгур нэхъ джэрэзыр нэхъ псэ щабэу Уи фIэщ зыщIар хэт? Пэгун нэщIырщ зур. Лир Уи гъащIэм уроджэгу уэ, Кент. Кент Си гъащIэм Сыщриджэгуащ сэ куэдрэ бийм и пащхьэ, Иджыри зэ уэр папщIэ сроджэгуж. Лир Си пащхьэ икI, си нитIым уамылъагъуу. Кент А нитI жыхуэпIэр нэхъ хуиту къызэтехи, ТIэкIу нэхъыфIыIуэу уи ныбжьэгъум еплъ. Лир Си Тхьэшхуэр си щыхьэтщ. Кент Пэж дыдэщ жыпIэр Ар пщIэншэу Тхьэ зэрыпIуэм и щыхьэтщ. Лир Убзаджэнаджэщ уэ, уепцIыжакIуэщ. (Джатэр кърех) Альбани герцогымрэ Корнуэл герцогымрэ: Сыт пщIэр, зи щIыхьыр ин? Кент Дохутырыр укIи IэзапщIэр ет узыфэм. Умыгъэгувэу зэхъуэкIыж унафэр. Армырмэ – псэ схэтыхукIэ сэ жысIэнщ: Зэхэбублар Iуэху дахэкъым… Лир ТхьэгъэпцI! КъэдаIуэ мыдэ, сэ уэсщIэнщ пхуэфащэр. Уэ ухуеящ себгъэпцIыжын си псалъэм, Псэм фIэфIым си гупсысэр сфIыблэпшын: Апхуэдэр зыми хузэфIэмыкIынщ. Абы ныпэкIуэу мисыр уэ пхуэфащэр, Зыгъэхьэзыр. Узот махуитху уи пIалъэу, Гъуэгуанэ кIыхьым сыт ущыхуеинуми Къыздэщти си къэралыр бгынэ, икI Еханэ махуэм нобэ щыщIэдзауэ. ЕпщIанэ махуэм хэкум урагъуатэмэ – Ажалыр уи Iэрылъхьэщ. КIуэ, зегъэхь! Мы си унафэр зэзмыхъуэкIыжыну Тхьэ быдэу соIуэ. Кент Узыншэ ухъу, пащтыхь, Уэ уи пагагъым щыхуэдмыгъуэткIэ шхуэIу, Тутнакъэщщ хэкур, хамэщIыр ди жэнэтщ. (Корделие зыхуигъазэу) Тхьэ селъэIунщ уэр папщIэ, си хъыджэбз. Пащтыхьым ептыфащ уэ жэуап пэж. (Гонерильерэ Реганэрэ жриIэу) ЖыфIам къалэн къыфщищIыр фигу ивгъэлъ, Iуэху пщхьэпэхэм цIыху цIыкIур кIэлъывгъэплъ. (Адрей псоми захуигъазэу) Гъуэгу тохьэ Кент, и нитIыр здэплъэм кIуэну, ЩIыпIэщIэм псэукIэжькIэ тебэкъуэну. (ЙокI. Накъырэ ягъаджэ) Глостер къегъэзэж, Франц пащтыхьыр, Бургундием и герцогыр, свитэр щIыгъуу. Глостер Пащтыхьымрэ герцогымрэ мисыр, зи щIыхьыр ин. Лир Си герцог лъапIэ, уи деж къыщыщIэддзэнщ Ди псалъэмакъыр. Уэри мы пащтыхьри Мо сипхъу нэхъыщIэм фрилъыхъущи, дапщэ ДыщрыкI нэхъ мащIэ дыдэу абы естмэ Уэ арэзы ухъунт, уи мурадам УщIемыгъуэжу укъытенэным папщIэ? Бургундием и герцогым А къысхуэбгъэлъэгъуар, зи щIыхьыр ин, Нэхъ мащIэ уэри пщIыну къыщIэкIынкъым. Лир Абы нэхъапэм иIа пщIэр иIэжкъым, И уасэр къехуэхауэ итщ утыку. Уэ уигу ирихьу зыгуэр мы хъыджэбз цIыкIум Дэплъагъур пэжмэ – узотыр зэрыщыту, Сигу зэребгъар дыщрыкIыу ныдыщIызгъуу. Бургундием и герцогым Сэ сыт бжесIэн? Лир КъызжыIэ: ухьэзыр уэ – мы хъыджэбз Зи адэр зи хьэрэму, къулейсызу, Iыхьлыншэ хъуар щхьэгъусэ пщIыну нобэ? Бургундием и герцогым А жыпIэр пэжмэ, сэ сыкъокIуэтыжыр. Лир Ирехъу апхуэдэу. Пэжыр сэ бжесIарщ, Бгъэдэлъри мылъкуу а къыпхуезбжэкIарщ. (Франц пащтыхьым зыхуегъазэри) Уэ, фIыуэ слъагъу пащтыхьым, уэстыфынкъым Сэ сыIуплъэ мыхъуу мы цIыху икIэр. Къэхъугъэр щIэукIытэу щIикIуэтар Пэшэгъу умыщIми, уэ къэбгъуэтыфынщ А уи щIыхь лъагэм хуэфэщэн щхьэгъусэ. УзэрыфIэфIщ. БжесIари щIы уи фIэщ, КъыпхуезбжэкIащ абы бгъэдэлъыр мылъкуу. Франц пащтыхьым ГъэщIэгъуэныщэ! Уэ, къэзылъхуа адэм, Уи напIэм щIэлъмэ щIэпхыну щымыта, Мы щIым зыхуэбгъэдэни темыта Хъыджэбзым зы хьэдэгъуэдахэ ищIэри, Зы напIэзыпIэм уи щIыбыр хуэбгъэзащ. Е – ямылейщ абы ищIа къуаншагъэр, Е – зэрыплъагъур мащIэу къыщIэкIынт: КъысхуигъэтIасэкъым сэ мы Iуэхур си щхьэм, ЩIыгъуейщ ар тIасхъэфIасхъэкIэ си фIэщ. Корделие Си адэу, зи щIыхь ин, сэ напэтехыу Къыздэплъэгъуар сызэрымыфэрыщIыр, ЖысIа си псалъэ жьым зэримыхьыжыр, ФIы зызмыгъэхэIущIыIуу зэрызлэжьыр Арауэ щытмэ, сынолъэIур псоми КъагурыгъаIуэ: уэ уи деж сэ пуд Зыгуэр къысIэщIэукIэу сыщыхъуакъым, Е цIыху зыхуэзгъэпсалъэу сыцIэнтхъуакъым, ФIеягъэ си Iыхьлым къыздалъэгъуакъым. Къыздалъэгъуамэ – пэжщ къыздалъэгъуар: Си нитIыр нур фэрыщIкIэ къиджэгукIыу, Си Iупэхэр фо хьэхукIэ мыкъулей. Апхуэдэ хьэлкIэ цIыхур ямыгъасэу Сэ сщIакъым и нэмыс иIэту фIэкI. Лир Укъытемыхьэххар нэхъыфIт дунейм Сызэгуэбгъэпу утытыным нэхърэ. Франц пащтыхьым КъызгурыIуащ бэлыхьыр къыздикIар – ГурыщIэ нэхухэр сэтей къызыхуэмыщI ЦIыхупсэ къабзэм и щтэIэщтэблагъэрщ. КъыджеIэт, герцог, уэ дауэ уеплърэ Iуэхум Зи пщIыхь зы хьисэп гуэри къыхэмыхуэрщ ЦIыху лъагъуныгъэ нэсыр. Уэ мы пщащэм Ухуей щхьэгъусэу? Мыр езыр дунейм ДыщрыкIыу тета псом нэхъри нэхъ лъапIэщ. Бургундием и герцогым (Лир жриIэу) Корделие ептыну щыта Iыхьэр Къыхуэбгъэнэжмэ, Бургундием и гуащэу Унафэр дощI. Лир Сэ Тхьэр згъэпцIын си жагъуэщ. Естынукъым жысIащи зэфIэкIащ. Си жагъуэ зэрыхъунщи, адэм щIыгъуу Псэлъыхъур пфIэкIуэдащ. Корделие Апхуэди къохъу. Сэратэкъым зи лъыхъур ар, си мылъкурт. Франц пащтыхьым Зи адэ мылъкум пагъэкIа Корделие, Уэ уи беягъэр узэрымылъкуншэрщ. Сэ си хъуапсапIэу хъугъуэфIыгъуэ IэплIэр Укъамыдэжми, сысейуэ укъызощтэ. Я ди Тхьэ, мы пщащэр ягъэпудми, Си лъагъуныгъэр щохъу куу си гущIэм. Лей къызылъысу Iыхьэншэ хъуа хъыджэбзыр И гуащэ хъу Франц хэкуу псэм къеубзэм. Уэ налкъут мыщIэр бургунд зиусхьэнхэм Уезмытыфын я хэкур къызатынуми. Ехыж, Корделие, сэлам адэжь и пщIантIэм, Уэ къыплъысащ си лъапсэ бейм и жьантIэр. Лир Ууейщ, пащтыхь, хъыджэбзыр, щIэши щIэкI. Ар сэ сизырикIщ. КъызумыгъэплъэкI. КIуэ аддэ, адэ и хъуэхъуи зэхыумыхыу, Гъуэгу тохьэ жиIэу и гуи пхупимыхыу. ДыщIокIыр, герцог! Лир, Бургунд, Корнуэл, Альбани герцогхэр, Глостер, свитэр йокIыж. Франц пащтыхьым Ехыж сэлам уи шыпхъухэм. Корделие Си адэм и «налкъутналмэсхэ», нэпсыр ЩIэзгъэкIыу сожьэ: сэ фIыуэ фызоцIыху. Ди адэм фыхуэсакъ. Сыхуэгузавэу Къыхузогъанэ фи лъагъуныгъэ нэпцIым. СыIуимыгъэкIуэтамэ епIэщIэкIыу, Сэ сщIэнт абы хуэфащэ егъэзыпIэр. Узыншэу. Шыпхъухэ! Реганэ Домыгъаджэ. Куэдщ. Гонерилье Уэ зигу къыпщIэгъуу узыша щхьэгъусэм Игуапэ зэрыпщIынум хуеджэжыф. Ууву уядэ узэрыпэпсалъэм И зэран мащIэкъым къыщокIынур уэ Уи лъапэр нобэ зэрыпшие лъапсэм. Корделие Сыт хуэдэу хэт зимыгъэхьилэшыми, И пIалъэр къосри, псори къещI сэтей. Франц пащтыхьым Корделие, си псэ защIэ, накIуэ псынщIэу. Франц пащтыхьымрэ Корделиерэ йокI. Гонерилье Дызэпсэлъэн хуейщ, шыпхъу. Дэ тIум Iуэху ди куэдщ. Сыщымыуэмэ, ди адэм мурад ищIащ нобэ ежьэжыну. Реганэ Пэжщ, здэкIуэнури уи деж си гугъэщ. Мазэ къыкIэлъыкIуэм – си деж. Гонерилье Плъагъуркъэ абы и дунейр. ИщIар дауэ къыпщыхъурэ. ПлъэкIмэ уемыгупсыс абы. ЗрищIари хэт – сытым щыгъуи дэ нэхърэ нэхъыфIу илъэгъуа ди шыпхъум. Реганэ Жьы хъуащ, аращ псоми и щхьэусыгъуэр. Пэжщ нэхъапэхэми абы щIагъуэу зызэтриубыдэфу щытакъым. Гонерилье ИгъащIэми щхьэзэхуэхъущ. И хьэлам жьыгъэр къыхыхьэжу хуежьауэ аращ. Реганэ Дэпщэщми дэри къытхуигъэкIуэнщ Кент и махуэр. Дауэ къыпщыхъурэ: зегъэхь жиIэрэ ирихужьэу. Гонерилье Франц пащтыхьым сэлам зэрырихыжа щIыкIэр сыт хуэдэу! ДызэрыIыгъын хуейщ. Унафэр дядэм и IэмыщIэ къинэмэ, абы властым сыпокI жыхуиIэм дэ зыри къыдитынукъым, а и хьэлыр и хьэлмэ, гуемыIу нэмыщI. Реганэ Егупсысын хуейщ фIыуэ. Гонерилье Зыгуэри лэжьыпхъэщ хэдмыгъэтIасэу. (ЙокIхэр) ЕтIуанэ теплъэгъуэ Граф Глостер и быдапIэм хэт залырщ. Эдмонд къохьэ, письмо иIыгъыу. Эдмонд Къэхъугъэу си Тхьэ лъапIэ! ГъащIэу щыIэм Уэ зыращ гъуэгугъэлъагъуэу сэ щызиIэр. Сытиубжьытхэ хабзэжьхэм я нэлатым, Сэ зыми езмытын си хуитыныгъэ, СренэхъыщIэ минрэ къуэшым нэхъ Сыт кърагъэкIыр «нэчыхьыншэ» псалъэм. Зызыгъэгуащэ анэ куэдым я къуэ ГъэфIахэм нэхърэ сынэхъ адэмыгу?! Сынэхъ фейцейуэ къэзгъэщIа зы махуэ? СыбгъэукIытэу сыт си нэ къыщIипщIынур? ЩызэщIигъаплъэкIэ лъагъуныгъэ щэхум, Лъым и къарум лIэужьыр щIэблэ къакIуэм Нэхъ къабзэу зэрыритым хэлъкъым шэч. Апхуэдэр щхьэ нэхъ укIытэгъуэ, пIэ Яужэгъуам зэш Iуэху щызэхаублэу Зэщхьэгъусэгъухэм щагъэбагъуэм нэхърэ Я щхьэмыкъ щIэблэм и бжыгъэ гъэфIар?! НэчыхькIэ къалъхуа къуэш, сэ сщIащ мурад Уэ уи щIы Iыхьэр къыпIэщIэзгъэкIыну. Уэ, хабзэкIэ къалъхуам, упримыдзыхыу Елъагъу уи адэм и щIалэ етIуанэр. Сыт хуэдэ псалъэхэ: «хабзэкIэ къалъхуа?» Ирехъу апхуэдэу, сэ си къуэш, хабзэкъуэ, Хьэзырщ письмор. Мурадыр къызэхъулIэм Эдмонд лIакъуэншэр йоIунщIыр лIакъуэлIэшым. Сэ си къару илъыгъуэщ. Бгым сыдокI, Къэфхъумэ, тхьэхэ, нэчыхь зимыIэ псори! Глостер къохьэ. Глостер Дихуащ Кент ищIри мысэ. Франц пащтыхьым Сэлам тэмэму иримыхыжа . И пащтыхь лъапсэр ибгынащ къэгубжьри, И пащтыхьыгъуэм хуэмеижу хъуащ. А псори зы дакъикъэм. Хъыбар гуэр Къэпхьа, си щIалэ? Эдмонд Хьэуэ, зиусхьэн. (Письмо егъэпщкIу). Глостер Апхуэдизу псынщIэу щIэбгъэпщкIужыр сыт а письмор? Эдмонд Сэ хъыбар лъэпкъ зэхэсхакъым, зи щIыхьыр ин! Глостер Сыт иджыпсту а узэджа тхылъымпIэр? Эдмонд Сэ зыми седжакъым, зи щIыхьыр ин. Глостер Зыми уемыджауи? Сыт-тIэ апхуэдизу упIащIэу а уи жыпым щыбгъэпщкIужар? Къызэт тхылъымпIэр. Абы зыри имытмэ нэгъуджэншэу слъагъунущ. Эдмонд Къысхуэгъэгъу, зиусхьэн. А письмор къэзытхыр си къуэшырщ. Сэ иджыри и кIэм сынэджысакъым. Ауэ сызэджам нэс тепщIыхьмэ, уэ письмом уемыджэнур нэхъыфIщ. Глостер Мыдэхьыт письмор. Эдмонд Уэзгъэлъагъуми – тэмэмкъым, уэзмыгъэлъагъуми нэхъ Iеижщ. Пэжыр жыпIэнумэ, письмо щIагъуэкъым. Глостер Деплъынкъэ, деплъын… Эдмонд Си гугъэмкIэ, си къуэшым сигъэунэхуну къысхуитхауэ аращ мы письмор. Глостер (Къоджэ) «Жьы хъуахэм пщIэрэ нэмысрэ яхуэтщIын хуейуэ къэзыгъэув хабзэм щхъуэ къарехь ди илъэс нэхъыфIхэм, абы и зэранкIэ ахъшэри гувауэщ ди IэмыщIэ къыщихьэр, жьы дыхъуарэ гуфIэгъуэ къыщытхуимыхьыжыфынум и деж. ЛIыжьхэм я залымыгъэр тшэчын зэрыхуейр мыхьэнэ лъэпкъ зимыIэ хабзэжьщ, абы и бжьым дыщIэзыгъэтри зэрытшэч закъуэр зэрыарам шэч къытезмыхьэжуи сохъу. Дызэхуэзэжмэ нэхъ тэмэму дызэпсэлъылIэнщ. Уядэр Iурихрэ сэ къэзгъэушыжыху жеятэмэ, абы и мылъкум и зэхуэдитIыр уэ къыплъысынут, уи къуэшым и лъагъуныгъэр щIыгъуу». Мыр зытхар си къуэ Эдгаруи? Абы и Iэдакъэ мыпхуэдэ псалъэхэр къыщIэкIауи? Абы игу мыпхуэдэ гупсысэ къыщыушауи? Дапщэщ къыпIэрыхьа мы письмор? Хэт къыпхуэзыхьар? Эдмонд Аракъэ Iуэхур, зи щIыхь ин, зыми къызэрысхуимыхьар. Си щхьэгъубжэм къыдадзащ. Глостер Уи къуэшым и хъэтI мыр? Эдмонд Абы шэч лъэпкъ къытесхьэнутэкъым письмоуфI гуэру щытамэ. Ауэ письмор апхуэдэкъыми, хъэтIыр абы ейуэ сэ си фIэщ хъуркъым. Глостер Абы и хъэтIщ. Эдмонд Мыр абы и Iэм итхащ, ауэ и гумрэ и Iэмрэ зэгъусакъым. Глостер Нэхъапэм абы мыпхуэдэ гупсысэ къыуиIуэтылIэу щымытауэ пIэрэ? Эдмонд Апхуэдэ щыIакъым. Ауэ куэдрэ жиIэу зэхэсхащ балигъ хъуа къуэхэм я унафэм жьы хъуа адэхэр щIэтмэ, абыхэм я мылъку унафэри къуэхэм ящIмэ нэхъ фIэтэмэму. Глостер Бзаджэнаджэ! Зэрыхьэбыршыбырыр плъагъурэ ар?! Ар дыдэращ письмоми итри. Бзаджэнаджэ и бзаджэнаджэжщ. Iэщ фIей псэ цIапIэ! Iэщым нэхърэ нэхъ икIэщ. КIуэ, тIасэ, къэгъуэтыж ар. IункIыбзэ етауэ изгъэтIысхьэнщ. Хьэдэгъуэдахэу бзаджэнаджэ! Дэнэ здэщыIэр ар? Эдмонд СщIэркъым, зиусхьэн. Ауэ сэ мы зыр бжесIэнут: уи губжьыр тIэкIу егъэупIэх, Iуэхум и пэжыпIэр сэтей къэхъуху. Апхуэдэу нэхъыфIщ. КъарукIэ зэхэбублэрэ умызахуэу къыщIэкIмэ, уи напэри текIынщ, уи къуэм и гур нэхъри убгъэдэкIынщ. Шэсу соув а псори абы щIитхар сэ уэ узэрыслъагъур игъэунэхуну арауэ, нэгъуэщI щхьэусыгъуи щымыIэу, уи фIэщ зэрыхъун. Глостер Пэжу пIэрэ ар? Эдмонд Сэ сыбдэIэпыкъунщ ар хьэкъ пщыхъунымкIэ. Ухуеймэ, къэзгъуэтынщ ди псалъэмакъым укъыщедэIуэфын щIыпIэ. ЖыхуэсIэр ныщхьэбэ нэхъ фIэмыкIыу тхузэфIэкIынущ. Глостер Ар апхуэдизу хьэбыршыбыру, щIэпхъэджащIэу фIэщ щIыгъуейщ. Эдмонд Хьэуэ, апхуэдэкъым ар. Глостер Апхуэдизу фIыуэ зылъагъу и адэм апхуэдэу къыхущIэкIынуи?! Уэ ди Тхьэ! Эдмонд, и дзыхь зрегъэгъэзи – тэмэмыр къащIэт. КъащIэт си хьэтыркIэ. Мор жыхуэпIэ тыгъэр пхуэсщIынщ пэжыр къысхуэщIи. Эдмонд Иджыпсту сыкIуэнщи къэзгъуэтыжынщ ар. Письмом теухуауэ сеуэршэрылIэнщи, - жиIэ псори пхуэсIуэтэжынщ. Глостер Арати иджыблагъэ дыгъэри мазэри щIыщIилъэфар. Апхуэдэм фIы кърикIуэркъым. КърикIуэри дызытет щIым зыхимыщIэу къанэркъым, еджагъэшхуэхэм сыт ямыгъэхъыбарми. Лъагъуныгъэр щIыIэ мэхъу, ныбжьэгъугъэр къотIасхъэ, дэнэ щIыпIи къуэшым илъ къуэшым щегъажэ. Къалэхэм хьэргъэшыргъэ къыщаIэт, къуажэдэсхэр зэныкъуэкъуу зэпэщIоувэ. БыдапIэм щыпсэухэм зыр зым йопцIыж, адэ-анэхэмрэ я бынхэмрэ зэпокIуэт. Е къуэр и адэм и бийуэ къоув, сэ къызэрысщыщIам ещхьу, е адэм и кIэтIийкIапэ къыпыкIа и быныр бий ещI пащтыхьым хуэдэу. БлэкIащ зэманыжь угъурлыр. ЩIэпхъэджагъэр, гъэпцIагъэр, гъащIэр нэджэIуджэ зыщI хабзэншагъэр ди гъусэнущ дэ, мащэм драхьэхыху. КъыщIэгъэщ а бзаджэнаджэм и мурадыр, Эдмонд. Укъызогъэгугъэ абы ухущIемыгъуэжыну. Быдэу сынолъэIур. Мис нэгъуэщI зы щапхъи. Кент тхьэмыщкIэжьыр уэрамым дахуащ. Сыт щхьэкIэ? – жыпIэмэ, и напэр зэрыкъабзэм щхьэкIэ. Хьэдэгъуэдахэщ. (ЙокI) Эдмонд Аращ игъащIэми. Ди ныбэ из хъурэ ди гъащIэр ди IэкIэ зэIытщIэжу хуежьа нэужь, ди насыпыншагъэ псомкIи къуаншагъэр дыгъэм, мазэм, вагъуэхэм ятетлъхьэу щIыдодзэ. Уафэм и унафэкIэ щхьэмыкъ дыхъу, атмосферэм и къарум пцIыIупцIышх, дыгъуэш-дзыгъуэлI, епцIыжакIуэ дыщIэхъукI, планетэхэм баштекъузэкIэ фадафэ, тхьэгъэпцI дащI хуэдэ. Ди гъащIэм мыхъумыщIагъэу хэлъым и щхьэусыгъуэ псори мы дунейм и адрыщIкIэ щыгъэпщкIуащ. ЦIыхур зэрыщхьэзыхуэхъумкIэ зиухеижыну Iэмал хъарзынэщ къуаншагъэу бгъэдэлъ псори вагъуэхэм зэражьэхиупцIэр. Псалъэм пащIэ, си адэмрэ си анэмрэ тIэкIу я зэш трагъэуащ Драконым и вагъуэмхэм я изыгъуэм хиубыдэу. Сэ дунейм сыкъыщытехьам Вагъуэзэшиблым и къару илъыгъуэт. Абыхэм къикIыр сыт – сыгурыуэжьрэ цIыхубзкIэ сынэпсейуэ сыпсэун хуейуэ аращ. Ари сыт делагъэ! Сэ – сысэращ, сызэрыщытщ, икIи абы сытекIынукъым, дунейм вагъуэу тетым я нэхъ къабзэр си гущащхьэм нуру къыщызэщIэблами. Мис къокIуэ Эдгар. ИкъукIэ зичэзууэ къос, ар ижь комедиехэм я кIэухым зэрыщыхабзэу. Хэкъузауэ сынэщхъейуэ фэ зытезгъэуэнщ Бедлам щыщ Том, тIэкIу зыхуэчэмым ещхьу. Эдгар къохьэ. Ей-ей, мы дыгъэ-мазэр щыщIилъафэм дежи!.. Бэлыхь къэхъунухэм я нэщэнэщ. Фа, соль, ля, ми… Эдгар ЛIэу, къуэш Эдмонд? Гупсысэшхуэхэм узэщIаIыгъэ хуэди. Эдмонд Согупсысыр, къуэш, иджыблагъэ дыгъэри мазэри щIилъэфауэ зэрыщытам, сэ къызэрызгурыIуэмкIэ, кърикIуэн хуей Iуэхухэм. Эдгар Ар зэгупсысым еплъ. Эдмонд Уи фIэщ щIы, къэхъун хуейуэ сэ сыкъызэджауэ щытам гъащIэр хуэкIуакIэ. Адэ-анэхэмрэ я бынымрэ зэпокIуэт, емынэ-тэлор мэятэ, узыхуеину псори лъэпсей мэхъу, цIыху цIыкIум зэхущIэджэу щIадзэ. ЗэхущIэуэр куэд хъуащи, къэралым и лъабжьэр къагъэтIасхъэ, цIыхубэр пащтыхьымрэ уэркъхэмрэ яхуодалъэ. Зым зыр и фIэщ хъужыркъым, ныбжьэгъухэр хамэ хэку яху, дзэр зэбгролэжьыкI, зэщхьэгъусэ куэдыкIей щхьэмыгъазэу къызэрогъапцIэ, нэгъуэщI къинэмыщI. Эдгар Сыт щIа астроном узэрыхъурэ? Эдмонд Къэдгъэгъанэ ар. Ди адэр иужь дыдэу щыплъэгъуар къыджеIи – ар нэхъыфIщ. Эдгар Дыгъуасэ пщыхьэщхьэм. Эдмонд УепсэлъылIа? Эдгар СыхьэтитI енкIэ. Эдмонд Фызэхуэарэзыуэ фызэбгъэдэкIыжа? Абы зыгуэркIэ игу къобгъауэ гу лъумытауэ пIэрэ фыщызэпсалъэм? Эдгар Апхуэдэ лъэпкъ щыIакъым. Эдмонд ФIыуэ егупсыси къэгубзыгъыжыт – сыткIэ игу уеуауэ пIэрэт. Тхьэр узогъэлъэIу щIэупщIыIухьыжыху зыкъомыгъэлъагъуну. Иджыпсту зыпэщIэбгъэхуэнкIэ Iэмал иIэкъым – цIыкIу-цIыкIуххэу узэпкъричыну хьэзырщ. Эдгар Зы хьэбыршыбыр гуэрым пцIы къыстрилъхьа хъунщ. Эдмонд Сэри апхуэдэу шэч сощI. ИкъукIэ сынолъэIу усакъыну абы и губжьыр еупIэхыху. ИкIи пщIэрэ: сэ си пэшым ущызгъэпщкIунщи – ди адэм хуиту укIэщIэзгъэдэIухьынщ. КIуэ абы. Мэ IункIыбзэр. Уэрамым укъыдыхьэн хъумэ Iэщэ къыздэщтэ. Эдгар Iэщи? Эдмонд ДаIуэ, къуэш, уэ уи сэбэпщ сэ зесхуэр. Тхьэр согъэпцI, абы уэ фIы къыпхуимурадмэ. Сэ ныбжесIар зырикIщ, Iуэхур зытетым еплъытмэ. КхъыIэ, сынолъэIур, кIуэ. Эдгар Куэд дэмыкIыу къысIэрыбгъэхьэн хъыбар? Эдмонд Сэ нэгъуэщI Iуэху зесхуэну си мурадкъым. Эдгар йокI. И фIэщ хъуащ адэм, къуэшми хъуащ и фIэщ, Апхуэдэу къабзэщи ищIэркъым шэч щIыкIэ. ЖыIэзыфIэщхэщ, уариджэгуну тыншщ. Слъагъу хуэдэщ ахэр къызэрыпцIэну щIыкIэр! Къыздамылъхуами къахэсхыфынщ схуэфащэр, Хьилагъэм и Iэмалхэр сэ си Iэщэу. (ЙокI) Ещанэ теплъэгъуэ Герцог Альбани и быдапIэм хэт пэшырщ. Гонерильерэ Освальдрэ къохьэ. Гонерилье Си адэм си бейгуэлыр кIуэцIикъухьар пэж, и шутым зэрешхыдам папщIэ? Освальд Пэжщ, гуащэ! Гонерилье ДыхэкIкъым гуныкъуэгъуэм. Зы сыхьэт Гуныкъуэгъуэншэу щетхьэкIыркъым мы унэм. Къару сиIэжкъым. Къысхуиша шу гупым Ягу къихьэр ящIэри – псори щхьэзэхуэхъущ, Дэ мыхьэнэншэм щхьэкIи дащIыр мысэ Сыхуейкъым сэ абыхэм сепсэлъэну. КъикIыжмэ щакIуэ – Iейуэ зумыгъэщхъ, Абы кърикIуэр – сэ си Iуэхущ, си лажьэщ. (Сценэм адэкIэ бжьакъуэ накъырэ щагъаджэ) Освальд Зэхэфхрэ, къэкIуэжащ. Гонерилье КъэдаIуэ мыдэ. Мы унэм щIэсхэми яжеIэж гъэхуауэ. ФынэмысщIэкъуу захуэвмыгъэщхъыщэ. Кърехъу къэхъунур – дзэр щыузым Iуач. Мыбы щыщымытыншкIэ ирекIуэж Си шыпхъум деж, къыжриIэр зэхихынкъэ Си Iуэхущ абы ар игъэщхьэзыфIэфIмэ. ТфIещI ди унафэр, къыдитауэ властыр. Пэжщ сабий хьэл жьы хъуахэм къызэращтэр. КъащыгурымыIуэжым фIыр, ткIиягъэ Ябгъэлъагъуным хэлъкъым мыхъумыщIагъэ. Ар зыщумыгъэгъупщэ. Освальд СынодаIуэ. Гонерилье Нэхъ щIыIэу яхущыт абы и цIыхухэм. УащымыукIытэ. Къурмакъейм къэсащи Солъыхъуэ щхьэусыгъуэ сафIэнэну – Аращ яжепIэжынур къуэдзэу уиIэм. Письмо хуэстхынщ си шыпхъум сытIысынщи – ДызэрыщIэну. Къегъэхь си шэджагъуашхэр. (ЙокI) ЕплIанэ теплъэгъуэ (Залырщ) Кент къохьэ, имей щыгъынкIэ хуэпауэ. Кент Иджы си псэлъэкIэр схузэхъуэкIмэ, Псэм и Iэдэмым сыкъимыцIыхужын. Къалэн къысщещI апхуэдэу си мурад, Си теплъэ дыдэр сэзыгъэхъуэжам. АжалкIэ уигъэшынэу хамэ хэку Зэгуэр укъэзыхуа уи зиусхьэным И деж Iуувэ IуэхутхьэбзащIэу, Кент. Ар дыдэмкIэ хьэкъ щыщI зи щIыхьыр иным Уэ лъагъуныгъэу хуиIэм и инагъыр. Сценэм адэкIэ бжьакъуэ накъырэ щагъаджэ. Лир, абы и шууейхэр, IуэхутхьэбзащIэхэр къохьэ. Лир Ауэ зы дакъикъэ сызыпэвмыгъаплъэ. Къафщтэ шэджагъуашхэр. IуэхутхьэбзащIэхэм ящыщ зыр йокI. Сыт ухуей? Ухэт уэ езыр? Кент СыцIыхущ. Лир Сыт зепхьэр? Дэ сыткIэ укъытхуей хъуа? Кент Сэ си къалэн нэхъыщхьэр сызытетым сытемыкIынырщ. Дзыхь къысхуэзыщIыр згъэпэжу къулыкъу хуэсщIэнырщ. Зи напэр къабзэр фIыуэ слъагъунырщ. Куэд къимыбжрэ гупсысэфу псэур згъэпэшэгъунырщ. Нэхъыбэм жаIэр слъытэнырщ. НэгъуэщI хэкIыпIэ щызимыIэжым и деж сызэуэнырщ, бдзэжьей сымышхынырщ. Лир Ухэт уэ езыр? Кент Сэри сызытхьэмыщкIэщ, си напэм пумылъхьэфынIауэ, пащтыхьым хуэдэуи сыкъулейсызщ. Лир Ар адрей пащтыхьхэм еплъытмэ зэрыкъулейсызым ещхьу уэри уи блыгущIэтхэм уащыхэтым деж укъулейсызмэ, абы щыгъуэ укъулейсыз дыдэщ. Сыт-тIэ узыхуейр? Кент Къулыкъу сщIэну. Лир Хэт хуэпщIэу? Кент Уэ. Лир Сэ уэ сыкъэпцIыхурэ, тIасэ? Кент Хьэуэ, зиусхьэн. Арами уи нэгум зыгуэр къощ, уитхьэкъуу. Лир Ар сыту пIэрэ-атIэ? Кент ЛIыгъэ, унафэ. Лир Сыт хуэдэ Iуэху пхуэлэжьрэ уэ? Кент Щэху сохъумэф, хуарэ сытосыф, къызожыхьыф, щIэх сешыркъым, хъыбар гъэщIэгъуэнхэр соIуэтэжыф, къысхуащI унафэр жьы къыдимыхуу согъэзащIэ, мыгугъу Iеймэ. А псори хэти хузэфIэкIынущ, ауэ сэ хэти хуэмыдэжу сыгумызагъэщ. Лир Илъэс дапщэ уи ныбжь? Кент Бзылъхугъэм и уэрэд жыIэкIэм щхьэкIэ лъагъуныгъэ хуэсщIын хуэдэу сыщIалэжкъым, цIыхубзым делэ сыхуэщIын хуэдизуи сылIыжькъым. Илъэс плIыщIрэ ирэ къэзгъэщIащ сэ. Лир Хъунщ. СхуэIэпыдзлъэпыдз. Шэджагъуашхэ нэужь пщIондэ хъыджэбз нащхъуэу укъысщымыхъужмэ – усщIыгъунщ. Шэджагъуашхэ, шэджагъуашхэ! Дэнэ щыIэ си шутыр? Уэракъэ жыхуэсIэр, кIуэт къэшэжыт си делэжь цIыкIур. IуэхутхьэбзащIэхэм ящыщ зы йокI. Освальд къохьэ. Ей, ТIыкIу, дэнэ щыIэ си пхъур? Освальд Хуит сыкъэпщIмэ… (ЙокI) Лир ЛIэу абы жиIар? Къеджэжыт мыдэ а бзаджэнаджэм. Шууейхэм ящыщ зы йокI. АтIэ, дэнэ щыIэ си шутыр? Мыр дауэ? Псори жейм хуэди. Шууейр къохьэж. Дэнэ щыIэ а былымыр? Шууейм Абы, зиусхьэн, жиIэращ уи пхъур сымаджэу. Лир Сыт-тIэ а ахьмакъым къыщIимыгъэзэжар, сыщеджам. Шууейм Сэ абы и щхьэ течауэ къызжиIащ, зиусхьэн, къигъэзэжыну зэрыхуэмейр. Лир Ар хуэмейуи? Шууейм СщIэркъым къызыхэкIар, зиусхьэн, ауэ, сыщымыуэмэ, уэ пхуэфащэ нэмыс мыбы къыщыпхуащIыжыркъым. Ар щынэрылъагъущ герцогми, уи пхъуми, IуэхутхьэбзащIэхэми я деж. Лир Ы-хь-ы-ыы. Уэ апхуэдэу уи гугъэщ. Шууейм Сыщыуэмэ, къысхуэгъэгъу, зи щIыхьыр ин, ауэ зыри жызмыIэу дауэ схуэшэчын уэ пхуэфащэ пщIэ къыпхуамыщIу гу лъыстэу. Лир Хьэуэ, хьэуэ, ущыуэркъым. Сэри гу лъыстащ а уэ зи гугъу пщIым. Заул щIа хуэдэщ къызэмылIэлIащэмэ нэхъ къызэращтэрэ. Ауэ ар си щхьэцпащтагъкIэ къысфIэщI хуэдэу, армыхъумэ сагъэпудын мурад ямыIэу слъытэрт. Нэхъ набдзэгубдзаплъэуи дахэплъэнкъэ. Ари аращ, зыгуэр хъунщ, дэнэ щыIэ си делэжь цIыкIур? МахуитI мэхури слъэгъуакъым ар. Шууейм Зиусхьэн пщащэр Францым зэрыкIуэжрэ, пащтыхьым и шутыр щIэмычэу Iыхьшыхьщ. Лир Зы псалъэ къыщIумыгъут. Сэри гу лъыстащ абы. Ей, уэракъэ жыхуэсIэр, кIуэи си пхъум жеIэ сызэрыхуейр сепсэлъэну. IуэхутхьэбзащIэхэм ящыщ зы йокI. Мыдэ фыкъеджэт си шутым. Аргуэру зы IуэхутхьэбзащIэ йокI. Освальд къегъэзэж. А, уэра ар, зи щIыхьыр ин? Мыдэ къакIуэт, мыдэ. Сыхэт сэ, тIыкIуэ, уэ къызэрыпщыхъумкIэ? Освальд Уэ ди гуащэм уриадэщ. Лир «Гуащэм уриадэщ» - жыпIа зиусхьэным и бзаджэнаджэ? И-и? Хьэбзым къилъхуа куэпэч? Освальд Пэжкъым а жыпIахэр, пэжкъым, зи щIыхьыр ин. Къысхуэгъэгъу. Лир Укъызэмыплъ нэ IейкIэ, напэншэ. (Йоуэ) Освальд Укъызэуэу здэнукъым,зи щIыхьыр ин. Кент Топым хуэдэу лъакъуэкIэ удрезгъэхуеину бдэну? (Къреуд) Лир Упсэу, си ныбжьэгъужь! Сигу урохь уи къулыкъу щIэкIэр. Пхуэфащэ пщIэ бгъуэтынщ. Кент Тэджи зегъэхь адэ! Уэракъэ жыхуэсIэр! ДяпэкIэ нэхъ Iущ ухъунщ. КIуэ, кIуэ! Пэш лъэгур иджыри зэ уи кIыхьагъкIэ къыупщыныр уимыжагъуэмэ. Ар куэдрэкъым. Хьэуэ жыпIэрэ – зегъэхь! Зегъэхь, зыIуегъэх. ГурыIуэгъуэ? (Еубыдри Освальд щIедз). Лир Упсэу, си лэжьакIуэ IэкIуэлъакIуэ! Мис уи лэжьапщIэри. Кент ахъшэ ирет. Шутыр къохьэ. Шутым Сэри къулыкъу естынщ абы.. Мэ си пыIэр зехьэ. (И пыIэр Кент хуеший) Лир А-а! Уузыншэм, си тIасэ! Дауэрэ упсэурэ? Шутым НэхъыфIт си пыIэр сIыпхамэ, си ныбжьэгъу! Кент Сыт щхьэкIэ? Шутым Зи Iуэху бгъунлъам укъыщыщхьэщыжкIэ – щхьэгъавэу укъыщIедзри. Пэжщ, пэж дыдэ. Уи пэр здэбгъэзэнур жьыр къыщеуэ лъэныкъуэм елъыт, армыхъумэ пыху-сыху ухъуныр зы бетэмалщ. СIых си пыIэр. Мы плъагъу угъурлыжьым и пхъуитIыр дихури, ещанэм Тхьэ хуелъэIужащ фIэфI-фIэмыфIми. Мыбы къулыкъу хуэпщIэфынукъым, делэжь цIыкIу, пыIэ пщхьэрымыгъыу. Уэ дауэ уеплърэ, унэжын? ЕI, сыт щIызимыIэр сэ пхъуитIрэ пыIитIрэ? Лир Ар сытым щхьэкIэ, тIыкIуэ? Шутым Мылъкур сипхъухэм естынти, пыIэхэр сэ къызыхуэзгъэнэнт. Мис, сэ зы сIыгщ, адрейр уипхъухэм къеIых. Лир Сакъ, нэжэс, плъагъурэ мы щIопщыр? Шутым Пэжыр сытым щыгъуи щIаху унэм, хъумакIуэм хуэдэу, фэрыщIагъыр пэшым щIэлъщи, бамэ щоу хьэбзым ещхьу. Лир Уздэуэр си лъэныкъуэмкIэщ. Шутым Ухуей, си ныбжьэгъу, псалъэ шэрыуэ гукIэ зэбгъэщIэну? Лир Сыарэзыщ. Шутым КъедаIуэ-тIэ, унэжын. Щэхуу мылъку зэгъэпэщ, Бзэгур тIэкIу ирекIэщI. Лъэсу куэд къыумыжыхь, Шууэ куэдрэ къэкIухь. Уахуэныкъуэрэ – мыфI. Къыпхуэныкъуэу – псэуф. КъыумыкIухь, иумыфыж, Уи пIэм иси нэхъ тыншщ. Лир Зыри къикIыркъым къыубжам, делэжь цIыкIу. Шутым Мыхьэнэншэщ, жиIам папщIэ ахъшэ зрамыта уэчылым и псалъэхэм хуэдэу. КъызжеIэт-тIэ, унэжын, зырикIым зы мыхьэнэ гуэр къыхэбулъэпхъэщыкI хъуну? Лир Хьэуэ, тIыкIуэ. ЗырикIым зырикI къыпхуэхынукъым. Шутым (Кент жриIэу) СынолъэIу схужепIэну: а иджыпсту жыхуиIам хуэдизыбзэщ абы къылъысыжынур и щIым щыщу. Сэ есIуэкIмэ, щхьэмыкъ – къызжиIэнурэ аращ зэрыхъур. Лир Ей, делэ бзаджэ. Шутым Уэ пщIэрэ, си ныбжьэгъужь, делэ бзаджэмрэ делэ хьэлэлымрэ зэрызэщхьэщыкIыр? Лир СщIэркъым, къуэш цIыкIу, сыгъащIэ. Шутым Чэнджэщ уэ къозытам Уи хэкур бгуэшыжыну, И къэбым шхупсщ итар, Сысейр къыуигъэщтэжыну. Сыделэ бзаджэу жыIэ, Сщхьэрыгъщ хуэфащэ пыIи. Хьэлэлым и делагъэр ПыIэншэуи къолъагъуэр. Лир Сэ делэкIэ укъызэджэу ара, тIыкIуэ? Шутым Адрей титулхэр бгуэшыжащ. Къыбдалъхуар къыпхуэнэжащ. Кент Делагъэ хуэдэкъым а жыпIэр, зиусхьэн. Шутым Хьэуэ. Сэ къызэмыфыгъуэжхэу делэ дыдэу сыщагъэтыну къыщIэкIынкъым. Делагъэу щыIэр си IэмыщIэ ислъхьэжатэмэ, уэркъхэмрэ къулыкъушхуэ зезыхьэхэмрэ я гум идэнтэкъым си дзей мыхъухэу. Уэркъ бзылъхугъэхэми я Iыхьэ ялъымысу, дауикI, ягу техуэнтэкъым. Къызэт мыдэ зы джэдыкIэ, унэжын, сэ абы пэкIуэу таж цIыкIуитI уэстынщ. Лир Сыт хуэдэ таж цIыкIуитIу пIэрэ а зи гугъу пщIыр? Шутым Ар зыхуэдэри? ДжэдыкIэр тIууэ зэпызупщIынщ, и кум илъыр сшхынщи, джэдыкIампIэ щIэлъэныкъуитIым таж цIыкIуитI къыхэкIынущ. Уэ уи тажыр тIууэ зэгуэбгъэзу щыбгуэшам, уи щIыбыкум шыд иплъхьауэ арат, хьэшытIатIым зэпрыпхыну. Акъылу кIэщIэлъар мащIэу къыщIэкIынт уи дыщэ тажыр щыптакIэ. Сэ жысIэр делагъэу зэлъытар щIопщкIэ кIуэцIыкъухьын хуейщ. (Уэрэд жеIэ) Я пIалъэр делэхэм фIэкIащ, ЯIэжкъым уасэ нобэ. Губзыгъэм я щхьэр зэкIуэкIащ, Къыдагъэхьыжу тобэ. Лир Куэд щIауэ пIэрэ, къуэш, апхуэдэу уэрэдыжьыр къипшу узэрыхъурэ? Шутым Уипхъухэр анэ зыхуэпщIу, щIопщыр яIэщIэплъхьэжу, уи гъуэншэджыр зэребгъэкIуэтэхрэ. (Уэрэд жеIэ) ГуфIэгъуэм ахэр егъэпщIэу, Сэ сегъэщэIу укIытэм. Джэгуалъэ лIыжьу уэ уопcэу, Ар си гум къысхуимыдэ. ЕгъэджакIуэ пщIэкIэ къысхуэщтэ, дизкъуажэ. Сэ сыхуейщ пцIы схуэупсу зезгъэсэну Лир ПцIы бупсынщи щIопщыр уи щIыбым пхуизгъэджэгухьынщ. Шутым ГъэщIэгъуэнщ уипхъухэмрэ уэрэ зыкIи фызэрызэмыщхьыр. Ахэр мэдалъэ, пэж жысIэмэ сыкIуэцIакъухьыну, пцIы супсмэ – уэ сыбубэрэжьынущ. Языныкъуэхэм сэ сыкIуэцIакъухь – зыри зэрыжызмыIэххэм папщIэ. Хэту ущытынри нэхъыфIщ шут нэхърэ. Ауэ дауэ мыхъуми, сэ сыхуейкъым уэрауэ сыпсэуну къысхуиухыну. Уэ уи акъылыр и кIапитIымкIэ къыщыбуныкъури, и кум зыри къыумынэххэу уежьэжащ. Мис къыпыбупщIам щыщ зы бзыхьэхуэ. Гонерилье къохьэ Лир Уэра ар, си хъыджэбз? Сыт ущIэнэщхъейр? Иужьрей махуэхэм узэхэуфа зэпытщ. Шутым Ар зэхэуфами къыпфIэмыIуэхуу ущыщыта зэман жыжьэм щыгъуэ ущIалэ ахъырзэманти уэ. Иджы унулщ, бжыгъэ гуэри къыббгъэдэмыту. Хэбгъэзыхьмэ, сэри сынэхъ зыгуэрщ иджыпсту уэ нэхърэ. ЩымыхъужкIи сэ сышутщ, уэ узырикI дыдэщ. (Гонерилье жриIэу) Щым джэдыкIампIэ! ГурыIуэгъуэщ. Зы псалъэ къызжумыIами, нэкIэ унафэ къысхуэпщIащ си жьэр субыдыну. (И Iэпэр Лир хуишийуэ) Зы лIы гъащIэ къигъэщIами, ауэ зы щIакхъуэ вэгъу дэдзыхыгъэу иIэкъым, гузэвэгъуэ къылъысмэ епхъуэну. Мис ар джэшыфэ гъурщ – зы джэш хьэдзи имылъыжу. Гонерилье Уи шут бгъэудэфам и закъуэ. Мес – Уэ къогъэза дэтхэнэри аращ – Дэ нэхъ къытхуэхъущIэхукIэ я гур хохъуэ – Сыхьэт къэсыхукIэ Iэпщэцагъэм хуекIуэу. Сэ сыгугъащ а псоми кIэ ептыну. Сыныщол]эум. КъызэрыщIэкIамкIэ, Уэ зэрыплъэкIкIэ къэбгъэутхъуэу арщ. Укъэмыгубжь. НэгъуэщI Iэмал сиIэжкъым- Унафэ ткIий къэзмыщтэм, хэкIэсэнущ. Сэ сынолъэIу уи жагъуэ умыщIыну. И зэIузэпэщым, зэрыхъун уи фIэщ, Семыгупсысмэ къэрал дыщыпсэум, А Iуэхум сукIытэнт сыхэIэбэну. Шутым Уэ сытыт-тIэ уи гугъэр, дизкъуажэ? КIыгуугум бзу щхьэщIыбыр пхуеуIукIыр, КIыгуугур бзум зэригъэшхам къыхэкIыу. КIэртIоф уэздыгъэр ункIыфIри КIыфIыбзэу фыкъызыхэнащ. Лир Уэ сэ узипхъууи? Гонерилье Си адэ, уэ дунейм ИгъащIэм акъылыншэу утетакъым. НыбжесIэм егупсыси пхуэмыфащэ Дуней тетыкIэм мы лъапсэм кIэ щедгъэт. Шутым Мыбдеж псори зэгъэдзэкIауэ къызэрыщекIуэкIым гу лъумытэн папщIэ ушыдын хуейщ: джэдыкIэм джэдыр еущий. Тхъэгъуэщ уеплъыну. Лир КъызжефIэт зыщIэм псынщIэу: сэ сы-Лир? Мыпхуэдэ кIуэкIэ, плъэкIэ Лир иIар? ПщIыхь куум хэмыту пIэрэ ар езыр? Мыпхуэдэр гъащIэм хабзэкъым къыщыхъуу. Сыхэт – къызжефIэт! КъызжефIэт, сэ сыхэт? Шутым Уэ Лир уриныбжьуращ. Лир Пэж дыдэу сэ сыхуейщ сыхэтми сщIэну? Си пащтыхь зыIыгъыкIэми, нэгъуэщI си щэн гуэрхэми гукъэкI сагъэщI сэ пхъу сиIа хуэдэу… Шут Адэ жыIэдаIуэ узыщIыну хуей пхъухэр. Лир Зи щIыхь ин гуащэ, КъызжеIэт, хэт уэ уи цIэр? Гонерилье Уи хьэлым фэрыщIагъыу хэлъым нэхърэ Нэхъ мащIэкъым а упщIэми хэслъагъуэр. Сэ сынолъэIур зыгурыбгъэIуэну: Уэ жьы ухъуащ: нэмыс къыпхуащI, уи ныбжьым Хуэфащэм хуэдэу сыт упсэу щIэмыхъур, Укъэзылъагъум щапхъэ къыптрахыу, Уи гъусэщ уэ бейгуэлу шууеищэ, Бэяу къагурымыIуэу, щхьэфIэч защIэу, БыдапIэр я ефапIэ ящIыжауэ. ЛъэIуэн къытехуэркъым уэ иджыпсту къопсалъэм, Унафэ ищIмэ мылъаIуэу нэхъ тыншыххэт. ГъэкIуэж я унэ пщIыгъум я нэхъыбэр, Къэбгъанэ мащIэми унафэ ткIий яхуэщI. Мыхьэкъувэкъуну, къимыкъуэлъыкIыну. Лир ФыкIуэцIырыху, щIы фIыцIэм фыщIэлъадэ Фэ псори. Плъагъуркъэ а псэншэ хьэмлашкIуэр. Уэ дяпэкIэ уэзгъуужэгъункъым уи щхьэ, Сэ сиIэщ пхъу иджыри – уэр нэмыщI. Гонерилье КIуэцIывокъухьыр си IуэхутхьэбзащIэ хейхэр, Уи бейгуэл чэфхэр нэхъыжьхэм ятокIие, Я унэIутхэм хуэдэу. Лир КIасэу щIегъуэжыр хэтми – ар мыщIагъуэ. (Герцог Альбани зыхуигъазэу) Мыбы уожьу уэ зиусхьэнри? Пэжкъэ? Фымыгъэгувэу тефлъхьэ уанэ шыхэм! Щтаучым хуэдэу зи гур быдэ быным Тенджызым хэс хьэпщхупщхэр къуагъэщтэж. Герцог Альбани УмыпIейтей мыпхуэдэу, зиусхьэн. Лир Боупсыр пцIы уэ иримыкъу къуршыбгъэм. Сэ си бейгуэлхэр пхуэгъэулъиинкъым. Абы я напэр сэ згъэунэхуакъэ. Я щIыхь хуэсакъыу зыхъумэжыф гупщ, … Щыуагъэ бзаджэ IэщIэкIат Корделие, Сэ а щыуагъэр згъэбатэу апхуэдизу, Си лъагъуныгъэр къистхъыжу си гум си IэкIэ, Щхъухь бзаджэр бгъэм къыщыпкIыу щхьэ искIат? Лир къаплъэнэф! А бжэм теуIуэ быдэу, Зэгуэрым уи акъылыр зэрыщIэпхуу Делагъэр хуиту къызэрыщIэпшам. (И щхьэм йоуэж) Фынежьэ, зиусхьэнхэ! Герцог Альбани Зи щIыхь ин, ХэсщIыкIкъым Iуэхум зыри. Лир Мэхъу си фIэщ. Къэхъугъэ! КъызэдаIуэ. Сызэхэх. Уэ мы хьэпщхупщыр лъхуэн-пIэну къэбгъэщIауэ Щытамэ, уи унафэр зэхъуэкIыж. ЩIэблэншэ щIы! ИгъащIэ псокIэ анэ Ар мыхъужыну игъэгъущыкI и кIуэцIыр, Иумыгъэгъуэт зыгъэгуфIэн сабий. Игъуэтми – хыумыгъэкI ар бын бэлыхьым. Зэлъа бэджыхъкIэ и натIэр хузэIущэ, Нэпс пщтыркIэ и нэкIущхьэр къигъэсыкI. И быным псэ къарууэ тригъэкIуади, Щымыжей жэщи, и гуащIи, и IуэхущIафи ГъуэгунапщIэ сабэу жьапщэм егъэхьыж: КъыгурыIуэным папщIэ нэхъыфIыIуэу Гу быдэу бын уиIэным нэхърэ блэ Къоуэнур бгъэхуэбэныр зэрыдыщэр. ФыникI мы лъапсэм псынщIэу. (ЙокI) Герцог Альбани Тхьэр узогъэлъэIу, къыщIэгубжьар къызжыIэ. Гонерилье Сабий хъужащ жьы хъури, теужынщ. Лир къохьэж. Лир ЗдэкIуар къызжефIэт си гъусам и ныкъуэр? Къэнар щэныкъуэщ. Щэ хъууэ къыздэсшат. Герцог Альбани Сыт укъыщIэгубжьар? Лир БжесIэнщ, къэдаIуэ. (Гонерилье зыхуигъазэу) О, гъащIэ! Ажал гуащIэ. СроукIытэжыр, Зыщызгъэгъупщэу сызэрыцIыхухъур, Уэр папщIэ си нэм нэпс къызэрекIуам. Уэ нэпс пхуэфащэ! Итрыгъу уихъухь абдежым, КъыпхукIуэ щIапIэкIуэдыр. Адэ гыбзэр Узыгъуи пхухъуи узригъэнтIыIу. Си нитIу, лIыжь делэнэхэ, фымыгъ – Армырмэ си IэкIэ сэ фыкъистхъыжынщи ЩIым фытездзэнщ, фи нэпсхэм фадэкIуатэу. Флъэгъуа къэхъуар? АтIэ къэхъуар – блэкIащ, НэгъуэщIи сиIэщ пхъу. Ар пхъу хьэлэлщ. ХуэсIуэтэжынщи абы уи напэншагъэр – IэбжьанэкIэ уи нэкIухэр пхуифIыщIынщ Уэ дыгъужьыбзым. Мыри ныбжызоIэ: Сэ зэзгъэгъуэтыжынщ сиIа лъэщагъыу СфIэкIуэдыпа уи гугъэр. УмыпIащIэ! Лир, Кент, бейгуэлхэр йокIыж. Гонерилье ЖиIахэр зэхэпхакъэ? Герцог Альбани Зэхэсхами, ФIыуэ услъагъуми, уэ сурителъхьэныр… Гонерилье Щыгъэт. Фыкъеджэт мыдэ псынщIэу Освальд. Уэ, уэ джэгуакIуэр, нэхъ тэмэму жысIэм, Уэ зэIыщIакIуэри кIэлъекъу уи зиусхьэным. Шутым Лир, дизкъуажэ, уи шутри здэшэ, къыумыгъанэу. Къэпхъэным къиплъ бажэми Уипхъу къыпхуэмеижми КIэ ят умукIытэу. Хъарзынэт сиIэныр Фэ кIапси, аркъэни, СокIыж сигу згъэбыдэу. Гонерилье Егупсысащ бэлыхьу… Дауи, бдэнти Уи лIыжь акъылым къищхьэрыуэ псори КъыбдаIыгъыну зэфIэту шууеищэ, Зэуэн хьэзырхэу зэщIэузэдауэ! ЗытIпIытI-зытхузу, дызекIуэу лъапэпцIийуэ. ЗдэщыIэр дэнэ Освальд? Герцог Альбани КъысфIощI шынагъэм къыщхьэрипхъуэу уи нэр. Гонерилье ТIэкIу ебгъэлейуэ ушынэмэ нэхъыфIщ, Егъэлеяуэ дзыхь хуэпщIрэ ущIегъуэж нэхъ. Бэлыхь ухэцIэнтхъуэнущ умысакъмэ, ФIы дыдэу соцIыхужыр сэ си адэр, Сыт къызжиIами Реганэ хуэстхыжынщ. Хуэстха нэужь си шыпхъум шууеищэ Ди адэм къыхуигъанэмэ… Освальд кохьэ Ей, Освальд, Хьэзыр си шыпхъум хуозгъэтхар? Освальд Хьэзырщ Гонерилье ЗыщIыгъу зы гупи – фышэс зывмыгъэгувэу. Письмор схуетыж. Бэлыхьу дызыхэтри, Мы къекIуэкI псоми уазэреплъри щIыгъуу ХуэIуати нэхъ псынщIэIуэу къэгъэзэж. Освальд йокI. А уи щабагъэр - ныбжесIэнщи, герцог - Узэрыкъаплъэнэфым и щыхьэтщ, ЦIыхугъэ дахэу къыпфIэщIыжу щытми. Герцог Альбани Уэ уемызэшу уоуэ уи нэщанэм, УблэукIынщи, ущIегъуэжынщ итIанэ. Гонерилье А жыпIэм… Герцог Альбани Псори зэхигъэкIынщ зэманым. Етхуанэ теплъэгъуэ Герцог Альбани и быдапIэм и бжэIупэрщ. Лир, Кент, шутыр къохьэ. Лир Мы письмор пIыгъыу Глостер деж кIуэ. Си пхъум уэ къыбгъэдэкIыу зыри жомыIэ. Ауэ мы письмом къеджа нэужь, упщIэу къыуитым жэуап тэмэм ет. УемыужьэрэкIмэ, абы и деж сэ уяпэ сынэсынкIэ хъунщ. Кент Си нэбдзыпэ зэтеслъхьэнкъым, зиусхьэн, уи письмор IэщIэслъхьэху. (ЙокI) Шутым ЦIыхум и щхьэкуцыр и лъэдакъэм илъу хабзэтэмэ, и щхьэкуцIым лэрыгъу тримыщIэну пIэрэт? Лир ТрищIэнут. Шутым Ар пэжмэ, сынохъуэхъу. Уэ уи щхьэкуцIым вакъэ лъытIэгъэн хуейуэ зеикI къыхуихуэнукъым. Лир Хьа-хьа-хьа. Шутым Уи нитIкIэ плъагъункъэ адрей уи пхъум гуапэу узэрыригъэблагъэр. А тIур мы цIыкIумрэ мыIэрысэмрэ хуэдэу зэщхьми, сэ хуит сыкъэщI, сщIэр зэрысщIэу сыкъэнэжыну. Лир Сыту пIэрэ уэри апхуэдизу пщIэр? Шутым Iуэхур и нэм нэсмэ, мы ныкъуэхъум хуэдэу гуащIэщ а зэшыпхъуитIри. Уэ къызжепIэфын цIыхум и пэр нэкIум и курыкупсэм щIитыр? Лир БжесIэфынукъым. Шутым И лъэныкъуитIымкIи нэ зырыз щиIэным папщIэ. Пэм къыщIимыхьэмэ, нитIым къалъагъун хуэдэу. Лир Пэжщ, лей есхащ абы… Шутым Уэ къызжепIэфыну устрицэм и кIампIэр зэрищI щIыкIэр? Лир Хьэуэ. Шутым Сэри бжесIэфынукъым. Ауэ сощIэр нэщIэпкIэр унэ цIыкIу щIыхуейр. Лир Сыт щIыхуейр? Шутым И щхьэр зыщIиIужын иIэн, ипхъухэм я удын езыми и бжьакъуэ цIыкIухэми къалъымысын щхьэкIэ. Лир Пэжщ жыпIэр. КъеIуэнтIэкIыжын хуейщ ди хьэлыр. Сэ схуэдэ адэ хьэлэли! Хьэзыр дишхэр? Шутым Уи шыдхэр кIуащ абыхэм деж. ГъэщIэгъуэнщ Вагъуэзэшиблыр блы фIэкIа щIэмыхъум и щхьэусыгъуэр. Лир Йы зэрыримыкъура блы фIэкIа щIэмыхъур? Шутым ИкIи пэжщ, уэ шут бэлыхь ухъунут. Лир КъарукIэ къытехыжын хуейщ зы къэмынэу. Ей хьэпщхупщ бзаджэ.! Шутым Уэ си шуту ущытамэ, щIэмычэу узубэрэжьынт, пасэIуэу жьы узэрыхъуам къыхэкIыу. Лир Ар дауэ? Шутым Балигъ акъыл къыумыщтэ щIыкIэ, жьы зыпщIын хуеякъым. Лир Я ди Тхьэ, къысхущIэгъу мы си къарум, Сэ делэ сымыхъупэу сыкъэгъанэ! Бейгуэлыр къыщIохьэ. ЗэщIэфлъхьа ди шы-уанэ? Бейгуэлым Дыхьэзырщ. Шутым СфIэдыхьэшхэнкъым шутыр зэрикIыжыр, Мыпхуэдэу мэхъу, нэгъуэщIуи мэхъужыр. (ЙокI) ЕтIуанэ акт Езанэ теплъэгъуэ Граф Глостер и быдапIэм и пщIантIэ кIуэцIырщ. Эдмондрэ Куранрэ лъэныкъуэ зырызымкIэ къохьэ. Эдмонд Уузыншэм, Куран. Куран Тхьэм уигъэузыншэ, зиусхьэн. Иджыпсту уи адэм хъыбар езгъэщIа къудейт абы и деж герцог Корнуэлрэ Реганэрэ ныщхьэбэ къэкIуэн мурад зэраIэмкIэ. Эдмонд Сыт хуэдэ IуэхукIэ? Куран Пэжыр бжесIэнщи сщIэркъым. Зэхэпха ягъэхъыбарыр? ДэнэкIэ умыкIуэми псори зохъуцацэ. Ауэ и щхьэ течауэ иджыкIэ зыми зыри хужыIэркъым. Эдмонд Хьэуэ, зэхэсха щIыкIэкъым. КъызжепIэркъэ сэри. Куран ЗэраIуатэмкIэ герцогхэу Альбанирэ Корнуэлрэ зауэ зэращIылIэнкIэ хъунущ. Пэж дыдэу зыри зэхыумыхауэ ара? Эдмонд Зэхэсхакъым. КъызжеIэ, кхъыIэ, пщIэр. Куран ЗэрыжаIэмкIэ, герцогхэу Альбанирэ Корнуэлрэ зауэ зэращIылIэнкIэ хъунущ. Пэжу, зэхыумыхауи? Эдмонд Зы псалъи зэхэсхакъым. Куран И чэзур къэсмэ зэхэпхынкъэ. Узыншэу, зиусхьэн. Эдмонд Мыбы къэкIуэнуи герцогыр? Хъарзынэщ. Арщ сызыхуейр. Си къуэшыр къагъуэтыжу ЯгъэтIысыну ищIащ унафэ дядэм, Абы нэмыщIуи къыспэщылъщ зы Iуэху, Таучэлрэ лIыгъэкIэ сэ зэфIэзгъэкIыпхъэу. Си къуэш! Сыпхуейщ псалъитIкIэ. Къехыт моуэ. Эдгар къохьэ. Ди адэр къыпкIэлъоплъ, къуэш. Уи щхьэ хъумэ. КъищIащ абы сэ ущызгъэпщкIур. ЩIэпхъуэ. Зэман умыгъэкIуэд, уи гъусэщ жэщыр, Корнуэл герцогым игу иримыхьын ЖыпIауэ пщIэжрэ? Ар Реганэ щIыгъуу КъопIащIэхэр уи деж пщыхьэщхьэхуэкIуэу. Фызэрызэщыхьам теухуа гуэр Альбани герцогым жепIагъэххэу пщIэжрэ? Эдгар Хьэуэ. Зы псалъи жезмыIа абы. Эдмонд Ди адэр къокIуэ. Къысхуэгъэгъу. Сэ нэпцIу Къисхынщ си джатэр сынозэуэным хуэдэу, Къилъэф ууейри. «Къауэ! ИIэ. Зыт-зо» Ди адэр къэмыса щIыкIэ щIэпхъуэж. «МыбыкIэ – мафIэр!» ЩIэпхъуэ, зыкъегъэл. ЩIэцIывэ! «МыбыкIэ мафIэр!» ЩIэпхъуэ зыкъегъэл. Эдгар йокI. Лъы тIэкIу дгъэжэнщи дядэр къэдгъэпцIэнщ Дызэзэуэжыпауэ къыфIэдгъэщIу. (И Iэр еуIэж) ЖыпIэнум пэжыр фIыуэ ещIэ цIыхум ГушыIэу зытредзэж нэхъ уIэгъэшхуэ. Ди адэ! ПсынщIэу къэс. КъыздэIэпыкъу! Глостеррэ Iэпыдзлъэпыдзхэмрэ къохьэ, факелхэр яIыгъыу. Глостер Дэнэ лъэныкъуэ иунэтIа а хьэм? Эдмонд Мыбдеж щытащ икъузу джатэ Iэпщэр, И щIэпхъэджагъэр нэхъ тыншу къехъулIэну ЕлъэIуу Тхьэ! Глостер Щытамэ – кIуэцIрыхуа? Эдмонд Мы си Iэм лъы къежэхыр плъагъурэ, дядэ! Глостер Солъагъу лъыр, къысхуэмыщIэр къыздикIарщ. Эдмонд КъыщыгурыIуэм къызэремыхъулIэнур КIэбгъу зищIри бзэхыжащ… Глостер Бэяут зэ, ФыщIэпхъуи къэвубыд. КъыщIэфх щIы фIыцIэм. КъемыхъулIэну сыт зи гугъу къысхуэпщIыр? Эдмонд Уэ узукIыну сыкъигъэдэIуэныр КъыщыгурыIуэм къызэремыхъулIэнур… Сыт сымыщIами къысхугурыгъэIуакъым Гуэныхьу пылъыр уядэр букIыжыным. Нэхъ зэгъунэгъу къалъхуамрэ къэзылъхуамрэ Зэрытемытыр зыри мы дунейм. Щилъагъум жиIэр зэрыхуэзмыдэххэр, Кърихри джатэр мы си Iэр къиуIащ. Сэ силъ сщIэжынуи сызэрыхьэзырым Гу лъитэщ, къэшынэжри щIэпхъуэжащ. Глостер Къаубыдыжынкъэ дэнэ нэс мыжами Къаубыдмэ – иIэщ кIэ. Си герцог лъапIэ Зи жьауэм сэ сыщIэтыр нобэ къосри, ИщIынщ унафэ япхыну хьэкIэкхъуэкIэр, Ар къэзыгъуэтым тыгъэ ныхуащIыну, ЩIауфэм, щIэзыуфэр яукIыну. Эдмонд Игу ирилъхьа бзаджагъэм темыкIыну ЩыспхыкIым хьэкъыу, згъэшынэным папщIэ И мурад фIейр сэтей къызэрысщIынур ЖесIати, мис жэуапу къыпысхар. «Нэчыхь зимыIэу къалъхуа уэ щIалэфIыр Узэдэуэну уи мурадыр хэт? Уэ хэт зи фIэщ пхуэщIынур а жыпIэнур, Къыупсэлъыр зэрыпэжым и щыхьэту Пхуэгъэлъэгъуэну мы дунейм сыт тет? Ар пэжкъым жысIэу сыкъыщыувынукIэ, Си хъэткIэ тхыгъэр фтхауэ щыжысIэнукIэ?! Хэт сызэрыбгъэмысэм къедэIуэнур – Сэ си лIэныгъэм уи сэбэп щыхэлъкIэ. Хьэуазэ зи щхьэкъупщхьэм къимылъэлъым КъыгурыIуэнкъэ узэрыхуэпIащIэр Уэ си ажалым!» Глостер ТхьэгъэпцI, напэншэ! И IэкIэ итхар Имейуэ жиIэфынуи! Ар си бынкъым. (Сценэ щIыбагъым накъырэ щагъаджэ). Къэсащ си зиусхьэныр. КъыщIэкIуар ДымыщIэ. ДелъэIункъэ мис абы Зы кхъухьтедзапIи, зы гъуэгуи къримынэу ЩызэхуищIыну хэкум: дэнэ кIуэн А щIэпхъуэжа бзаджащIэр. И сурэт Къраубыдыну зэбгредгъэхынщ. Си мылъкуи лъапси къызэрыпхуэзгъанэмкIэ ТхылъымпIэхэри сэ згъэхьэзырынщ. Корнуэл герцогымрэ Реганэрэ свитэр я гъусэу къохьэ. Герцог Корнуэл Сыт хуэдэ Iуэхухэр, си ныбжьэгъу? Мыбы Щызэхэсха хъыбархэр псэм и жагъуэщ. Реганэ Щхьэпылъэ пщIыныр псапэщ,-пэжмэ жаIэр. Уи узыншагъэр сыт хуэдэ, зиусхьэн? Глостер Къытеубжьытхащ мы си гум,- сыти фIэщ. Реганэ Си адэм къан ищIа Эдгар ажалкIэ Къыпхуэупсэну хэтауэ фIэщ щIыгъуейщ. Глостер СоукIытэ, гуащэ, пэжыр ныбжесIэну! Реганэ Си адэм и бейгуэл хьэлэбэлыкъ ЗыфIэфIхэм япыщIауэ щытыгъа ар? Глостер Мыращ бжесIэну сымыщIэ и пэжыпIэр, Къыстехьэлъащ сэ мы сызыхэхуар. Эдмонд Пэжщ, а хьэмшомхэм япыщIащ бзаджащIэр. Реганэ Арамэ, псори гурыIуэгъуэщ сэркIэ. Абыхэм къыщIагъэсту ара хъунт щIалэр: и адэр иукIыжмэ мылъку къыхуэнэр драфыжыну, ирихьэулеинхэу. Пэшэгъу а гупыр пщIы зэрымыхъунур Къысхуетх си шыпхъум. Си лъахэ а фыщакIуэхэр Щепсыхмэ – сэhи унэр збгынэу арщ. Герцог Корнуэл Реганэ, сэри суригъусэу лъытэ. Мы къекIуэкIахэм укъуэфIe , лIыгъэ пхэлъу Зыкъыщыбгъэлъэгъуауэ зэхэсхати, Пэж, Эдмонд? Эдмонд Ар си къалэнт, зи щIыхь ин! Глостер ЗэIуащэ хьэгъэщагъэр къыщIигъэщу БзаджащIэр иубыдыну иужь щихьэм УIэгъи къытехуащ. Герцог Корнуэл А щIэпхъуэжам КIэлъевгъэжьакъэ пхъэр? Глостер КIэлъыщIэпхъуахэщ. Герцог Корнуэл Зэ къаIэрыхьэмэ – хэткIи шынагъуэжкъым. Сыт ффIэфIми ефщIэ – си унафэу жыфIи. Уэ, Эдмонд, мыр сыхуейт сэ ныбжесIэну. Уи лIыгъэр, уи цIыхугъэр сфIэгунэсщ. Уэ пхуэдэм дзыхь ебгъэзкIэ ущIегъуэжкъым – Си деж къулыкъу щызыхьхэм уахыдобжэ Я пашэ усщIу. Эдмонд Згъэпэжынщ уи дзыхьыр. ИкъукIэ фIыщIэшхуэ пхузощIыр, зиусхьэн! Герцог Корнуэл Фэ фщIэуэ пIэрэ дэ дыкъыщIэкIуар? Реганэ Имычэзууэ, гувауэ, жэщыбг хуэкIуэу Дэ Iуэху цIыкIуфэкIукIэ дыкъыщIэмыпхъуа, Дыхуейуэ арщ къэхъуамкIэ фи чэнджэщ. Къатх сядэми си шыпхъуми зэфIэнахэу, А тIум я зэныкъуэкъур сыхуеят НэгъуэщI щIыналъэ, сысымей щIыналъэ Щызэпкъырысхыу жэуап щахуэстхыжыну. Я лIыкIуэхэр мыжыжьэу къыщытпоплъэ Фи лажьэр зытэлайкIэ фигу ивгъахуи, Ди лажьэм зэуэ дыздевгъэгупсыс. Глостер Сэбэп сыпхуэхъуфыныр си насыпщ, ФызихьэщIэнри сэркIэ нэмысышхуэщ. ЕтIуанэ теплъэгъуэ Глостер и быдапIэм и гупэм деж. Лъэныкъуэ зырызкIэ къохьэ Кентрэ Освальдрэ. Освальд Уи пщэдджыжь фIыуэ, Тхьэр зи гъусэ, мы щIыпIэм ущыщ? Кент Сыщыщщ. Освальд Дишхэр дэнэ и деж щыдутIыпщ хъуну пIэрэ? Кент Узыхуей псыпцIэм. Освальд Джэгу хэмылъу жыпIэркъэ, моуэ ныбжьэгъу хабзэу. Кент Сэ уэ суриныбжьэгъукъым. Освальд Уэ уи ныбжьэгъугъэ къысфIэIуэху сэ! Кент Сэ сыщыхуейм и деж укъыщыспэщIэхуамэ, сыкъыпфIэIуэхeнт уэ. Освальд УкъыщIыскIэрыхъыжьар сыту пIэрэ? УсцIыхуркъым нэгъуэщIкъым. Кент Ауэ сэ фIыуэ узоцIыху уэ, тIыкIуэ. Освальд Сыхэт-тIэ сэ? Кент Убзаджэнаджэщ. Ухьэбыршыбырщ. Зигъэбэгрэ езыр щхьэкъэбу, хьэжьвакъэжьышхыу дунейм тетыр уэращ. УунэIутщ, уи гуащэм урижыхапхъэщ, укъызэрыплъ а уи цы лъэпэдри дэкIуэу. Убзэгуцэщ, упсэ фIейщ, гъуджэрэ пэмадэрэ къызыдэщ уи пхъуантэжь цIыкIур уи мылъку Iэдэжу дунейм утетщ. Гу нэхъ къыплъатэн папщIэ сыт хуэдэ цIапIагъэри зыхуэщIэну, зи гъащэр блапцIэу зыхьыр уэракъэ! Освальд Мажнун пшха! ИгъащIэм иджы япэу плъагъу гъуэгурыкIуэу укъэзымыцIыхум апхуэдиз тептхъуэныр мыбдеж щыт? Кент ЛIо, напэншэжь, сыкъыумыцIыхуж нэпцI зыпщIыну ара? МахуитI хъуакъым пащтыхьыр къаплъэу щыту уизуду узэрыкIуэцIыскъухьрэ? Къащтэ уи джатэр, нэжэс, нэху мыщами мазэ щыIэщ. Сэ иджыпсту уэ къыпхэсщIыкIынкъэ мазэ нурыр шыпсым хуэдэу зыщIэт лыцIыкIулыбжьэ. Къащтэ уи джатэр, щхьэр щащым къыщIэхуа бигуди. (И джатэр кърех) Освальд СкIэрыкI, сыхуейкъым сэ уэ зыппысщIэну. Кент Къих уи джатэр, пцIыIуэпцIыш. Уэ уи жып илъщ пащтыхьым и зэран лъыхъуэхэм ятха письмор. Зи адэу пащтыхьышхуэм е хуэлъыхъуэ къупщхьэгуащэ напщIэхэшым уриIуэхущIэгъущ уэри. Зыхъумэж, гъуамэ, армыхъумэ узупщIэтэнурэ узгъэжьэжынущ. Хъумэж уи щхьэ, хьэулей! Освальд ХъумакIуэхэ! Къэрэгъулхэ! СыфIагъэж! Эдмонд къохьэ Эдмонд Сыт мы къэхъуар? Мыр сыт зэрызехьэ? Кент КъакIуэ, къакIуэ, зи гъащIэр кIыхь хъун. Уэри ухуейуэ ара? Къеблагъэ, къеблагъапэ, шынэхъыщIэ, лъы уепэмынумэ. Глостер къохьэ. Глостер Мыр сыт? Фи джатэр къихай. Сыт къэхъуар? Герцог Корнуэлрэ Реганэрэ я унэIутхэр ягъусэу къохьэ. Герцог Корнуэл Ажал хуэмейхэр – фызэтебэяуэ, Зи джатэ къэзыIэтыр и щхьэм покI. Хэт мыхэр? Реганэ Пащтыхьымрэ си шыпхъумрэ я лIыкIуэхэрщ. Герцог Корнуэл Фызэзэуэныр сыт къызыхэкIар? Освальд Уолъагъу: ерагъкIэ сыбауэф къудейщ. Кент ГъэщIэгъуэнкъым. Апхуэдизу ушынэ хъурэ. Къэхъугъэм и щIыбыр уэ пхуэдэхэм яхуегъазэ. Абы укъыхэхъукIакъым уэ, зы дэрбзэр гуэрым узэIуищауэ аращ. Герцог Корнуэл Сыту цIыху гъэщIэгъуэн мыр. ЖиIэр сыт? Дэрбзэрым цIыху хузэIущэрэ? Кент Дэрбзэрым зэIуищауэ аращ. Мывэупсым е сурэтыщIым зы сыхьэт-сыхьэтитIым мыбы нэхърэ куэдкIэ нэхъ сэбэп хъун гуэр пхуигъэхьэзырыфынущ. Герцог Корнуэл ФыщIызэзауэм и пэжыпIэр къызжефIэт. Освальд И жьакIэ тхъуам сеплъащ, армыхъумэ хуэфIым хуэзгъэзэнт сэ а зи жьэ псыхьар. Кент ЕдаIуэт а хъарып къэбэуэжам жиIэжым!.. Хуит сыкъэщI зиусхьэн мыр зэхэсхьэжэу, лэчу къыхэкIым псыунэ блынхэр ирисцIэлэжыну. «И жьакIэ тхъуам сеплъащ, армыхъумэ…» Уэ бзу фIейри уэ! Герцог Корнуэл Бэяу, щхьэгъавэ! Зыщыбогъэгъупщэ уэ узэпсалъэр… Кент Хьэуэ, зиусхьэн, АрщхьэкIэ губжьми иIэщ хуитыныгъэ. Герцог Корнуэл КъыджеIэт: сыт къызыхэкIар уи губжьыр? Кент Укъэгубжьынкъэ Iэщэ щыIэщIалъхьэкIэ ПщIыхьэпIэу напэ зымылъэгъуа кхъуэм, Ей мы фитIнэ тхьэгъэпцIхэрри! Iэмал Зэрагъуэтыххэу пхузэпашхыкIынущ ЛъыкIэ зэблагъэхэм я кум дэлъ Iыхьлыгъэр. Я зиусхьэнхэм я губжьым щIадзэ мафIэ, Я псэ – мывэжьхэр нэхъри хуагъэдий. Хъунщ къыбжаIэнри, хъунукъым жаIэнри – ФитIнэм я дежкIэ тIури зыщыщыпсщ. Зи кIэ иIыгъыр арэзы хъу закъуэмэ – ТхьэгъэпцIым сыт – игъащIэр тэмэмащ. Уэ пхуэфI сыхъунт сэ зи дзэлыфэр зытI, Сыт дыхьэшхэну плъагъур – сэ сышут? Сарем губгъуэжь укъыщыспэщIэхуамэ, Узгъэлъэтэнти Камплот нэсыху къазыхъуу. Герцог Корнуэл Уи щхьэр тэмэм уэ? Глостер Фхуэмыгуэшыр сыт? Кент ЗэIуплъэ мыхъуу цIыхуитI дунейм тетыххэмэ, Мы бзаджэнаджэм сэрэщ, фщIы фи фIэщ. Герцог Корнуэл ЩIэбзаджэнаджэу жыIэт илэжьар? Кент Ирихькъым сигу абы и нэкIур! Герцог Корнуэл Агъу! Сысейри уи гум иримыхьмэ-щэ? Кент Сэ, зиусхьэн, пэж дыдэр ныбжесIэнщи, Си жьэнахуагъыр – сигу ирихь IэщIагъэщ. Фэ сынывэплъмэ слъагъу нэкIухэм нэхъ нэхъыфIу МымащIэ гъащIэм сащрихьэлIащ. Герцог Корнуэл КъызгурыIуащ иджы: мыбы зэгуэр И жьэбзаджагъэм зыгуэр къыхущытхъуати, Абы сэбэп къыхихыу ежьэжащ Убзэну фIэфIкъым. Ягу ирихьрэ – фIыщ, Иримыхьыххэми, сыт пахын, щIалэжьщ: СоцIыху сэ пэжыр зыгъэпIий пцIыупсхэри, Апхуэдэ жьэнахуэжьхэм я захуагъэ ФэрыщIым и щIыбагъ къыдэтщ бзаджагъэу Бейгуэлу тIощIым якъуумыгъуэтэн! Кент Феб хуэдэу нур Iэрамэ зыщхьэщыт Уи щхьэгъусэфIым и пащхьэ нэхум ситу БжызоIэ герцог… Герцог Корнуэл УмыпIащэт,зэт АбыкIэ сытыт жыпIэну узыхуейр? Кент Си псэлъэкIэр уигу щримыхьакIэ зызохъуэкIыж. Пэж дыдэм ухуеймэ, сэ нэхъ зылъэкIхэм дэлэлай ядэзыщIхэм сащыщкъым. Ауэ уэ зэгуэрым зигъэжьэнахуэ, зигъэхьэлэболэжь хуэдэурэ укъэзыгъэпцIар зы хьэбыршыбыр гуэрт. Абы и пэшэгъухэр къыздикIа лъэныкъуэм сэри сыщопсэу бжесIэу укъысхуэгъэпцIэнукъым. Герцог Корнуэл Сыт зэрыпщIар мыбы и жагъуэ? Освальд ЗыкIи. Зы махуэ гуэр пащтыхьыр къэгубжьауэ Сэ сыкъыпэщIэхуауэ сыхикъухьу, Мыр къохутылIэ, си щIыбагъ къыдохьэ, ЛъакъуэпэщIэдз къысхуещIри среуд. КъыстотIысхьэжри, къеблагъэ сыпкъупэнум. Пащтыхьыр, дауи, щытхъуащ мыбы и лIыгъэм, Езым, Тхьэм ещIэ, ар игу къэкIыжауэ Иджыри къехъулIэну гугъэ хъунщ… Кент Езым еплъытмэ Аякс хьэпшыр тхьэмыщкIэу КъыпщигъэхъункIэ хъунущ мы щхьэгъавэм. Герцог Корнуэл Къысхуэфхьыт мыдэ лъэхъу. Уэ щхьэщытхъу бзаджэр Абы уемысэу хъуну къыщIэкIынкъм. Кент Седжэнуи сагъэсэнуи хэтIэсащ, Нэхъ сфIэтэмэмщ лъэхъу. ЗэкIэ къедмыхьэжьэм Сэ IуэхукIэ сыкъыпхуигъэкIуащ пащтыхьым, Абы и лIыкIуэр – езыра пэлъытэщ, Iэхъулъэхъу сыпщIыным – зэ егупсысыж – Езы пащтыхьым уебгъэрыкIуэу къокI. Герцог Корнуэл Къэфхь лъэхъуи хуифлъхьэ. Шэджагъуэ хъуху ивгъэс. Реганэ Пщыхьэщхьэ пщIондэ щIэмыхъур сыт ивгъэс, Абы нэмыщI зы жэщи хущыдгъужу. Кент Сыт щхьэкIэ, зи щIыхь ин, уи адэм сэ СримылIыкIуэу, срихьэуи къызощтэ, Апхуэдэр къызэфщIэныр щыт мыбдей? Реганэ Сыт ущIрихьэр, урибзаджэнаджэщ. Герцог Корнуэл Мыпхуэдэхэрщ уи шыпхъум къыщIитхар. Къэбгъэса лъэхъур? (Лъэхъур къахь) Глостер Зиусхьэн, зы псалъэ… Мы Iуэхур сфIэкъабылкъым сэ. Пащтыхьым Тезырыр зэрыхуейуэ къытрилъхьэнт, Хъыбар евгъащIэм. Фэ мыбы ефпэсыр Зыхуагъэфащэу сщIэр дыгъуэшхдыгъуэлIхэрщ, Хьэбыршыбыру тетхэрщ мы дунейм. И жагъуэ хъунщ пащтыхьым. Герцог Корнуэл Ар си Iуэхущ. Реганэ Нэхъ и жагъуэж хъун пфIэщIыркъэ ди шыпхъум И цIыху, мыбдежым зи къалэн щызыхьхэм, Лей къащылъысыр. Хуифлъхьэ лъэхъу. (Кент лъэхъум ирагъэтIысхьэ) НыIукI. Глостеррэ Кентрэ къонэри адрей псори йокI. Глостер Сигу пщIогъур, ауэ унафэр зейр уэ уощIэ, Сыпэрыуэншэщ, IейкIэ иухынущ. Арами, хъуххэмэ сыкъыпщхьэщыжынщ. Кент Куэдщ, зиусхьэн. ТIэкIу сыхуэлIащи жей, Срикъумэ жейкIэ – хъарзынэ хъунущ псори. Уи лъакъуэр дакъузэныр – бэлыхь Iей! Гур щыдакъузэ къохъу – аращ Iей дыдэр. Узыншэ ухъу. Глостер Пэжщ, герцогыр щыуащ. (ЙокI) Кент Пэжщ, си пащтыхь, сыхьэт къэс мэхъу нэхъ гугъу. Нэхъ кIэщIу жыпIэм – къуийм и щIыIу гуэрэфщ. Нэхъ пасэу пыни, мазэу, - ди дунейм И гъуазэ нэху, письмом зэ сыкъегъаджэ. Мы щIым телъыджэу мащIэми телъыжыр, Бэлыхь хэхуар телъыджэ хуэзэу къохъу. Уегупсысыну щапхъэщ: гъэщIэгъуэнкъэ Корделие си деж къызэритхар. Абы къищIащи сэ сыщыхэт щIыпIэр Iэмал иIэххэмэ къыздэIэпыкъу Щыхъуну пIалъэм поплъэ. Ей, си нитI, НитI езэша, нэхъ псынщIэу зызэтефпIэ, Мы напэтех хэщIапIэр фымылъагъуу. АпщIондэхукIэ уэри, гъуэгум и Тхьэ, КъыщыгуфIыкIи си гъащIэу шэрхъыжь кIыргъыр Насыпым и унапIэм хуэунэтI. Ещанэ теплъэгъуэ (мэзым) Эдгар къохьэ Эдгар Сэ сымыщIэу зэращIэр си суд Зэхэсхри жыгыку гъуанэм зизгъэпщкIуащ. ХуащIащ зы къухьтедзапIи къамыгъанэу, Къыслъыхъухэр дэнэ щIыпIи щызэблож. Зы Iэмал гуэр згъуэтыхукIэ зызгъэпщкIунщ, Зытезгъэуэнщ фэ сыфакъырэ дыдэу. Къулейсызыгъэм цIыхур фаджэ ещI, ЕщI и сэфэтыр хуэкIуэу хьэкIэкхъуэкIэм. Щысхуэнщ си нэкIум ятIэ. Хъыдан гуэр ЗэсшыхьэкIынщ, згъэубэлэцынщ си щхьэцри. Сыщыгъыныджэу сыпежьэнщ гъуэжькуийм. ХуэIуджэIущэу, фаджэу, акъыл ныкъуэу Бедлам щыпсэухэм щапхъэ къатесхынщ: Къыщаджэдыхьыр дэни кIийуэ –гуоухэу, ХаукIэу я Iэм уи масти, уи гъущI уни, Кхъуэбани, хьэцыбани – сыт нэхъ пфIэфI. Я теплъэм зэ Iуплъар игъэгужьейуэ Щыхах я факъырапщIэр къуажэ цIыкIухэм, Псы щхьэлхэм, пщIантIэхэм, мэлъыхъуэ пщыIэм, Зэм гъуэгхэу, зэми хъийм икIауэ губжьхэу. Зыгуэрым хабжэ ноби «Том тхьэмыщкIэри», Ауэ сызырикIщ сэ нобэкIэ, Эдгар. (ЙокI) ЕплIанэ теплъэгъуэ Глостер и быдапIэм и гупэм деж. Кент и лъакъуитIым лъэхъу илъу щысщ. Лир, шутыр, бейгуэлыр къохьэ. Лир БыдапIэм дэсхэкъым. ЗыщIыпIэ кIуащ, Си хъыбарзехьэри нысхуамыгъэкIуэжу. Бейгуэлым Ежьэн мурад дыгъуасэ ямыIа IуэрыIуэтэжу зэрызэхэсхамкIэ. Кент Тхьэм дахэ ищI уи Iуэхур, зиусхьэн! Лир Мы напэтехра зэманыр зэрыбгъакIуэр? Кент Хьэуэ, зиусхьэн. Шутым Хьа-хьа-хьа! ЗэрыткIийр плъагъурэ абы и плIэпсхэр. Шыхэр щхьэкIэ, хьэхэмрэ мыщэхэмрэ пщэпкъкIэ, номинхэр – бгыкIэ, цIыхухэр лъакъуэкIэ ирапх. Къыдэлъеин зыфIэфIым пхъэ лъэпэд щатIагъэ. Лир Мыпхуэдэу къигъэпуду уи къулыкъур Хэт уэ пхъэ лъэхъум уизыгъэтIысхьар? Кент Уи малъхъэмрэ уи пхъумрэщ, зиусхьэн. Лир Ар пэжкъым. Кент Пэжщ. Лир Ар пэжкъым ныбжызоIэ. Кент Сэ пэжщ бжызоIэ. Лир Апхуэдэу уэ абыхэм къуащIэфынукъым. Кент Уи нитIкIэ зэрыплъагъущи къызащIащ. Лир ЮпитеркIэ Тхьэ соIуэ ар мыпэжу! Кент ЮнонэкIэ Тхьэ соIуэ пэжу ар. Лир Си фIэщ сэ хъуркъым апхуэдэр къуащIэфауэ Абыхэм. УаукIамэ, дыщэм хуэдэт. Уэ мыпхуэдизу уагъэпудыфауэ, Мыпхуэдэу ахэр къыптеубжьытхауэ! Сыт уэ, си лIыкIуэм, апхуэдизу пщIар Мыпхуэдэ напэтехыр къуапэсыну? Кент Уэ зи щIыхь иным къэзбгъэхьа письмор ЛъэгуажьэкIэ сыщыту щаIэщIэслъхьэм НэгъуэщI зы лIыкIуэ гуэр къыщIэлъэдащ, ПщIэнтIарэ, сабэм фIыуи иуэжауэ. ЖысIэнур сымыухыу, сяпэ ищри Письмо, къригъэхьауэ Гонерилье, ЯIэщIилъхьащ сыкъызыхуэбгъэкIуам. Къызэреджэххэу ахэр а письмом, Загъэхьэзырри хъунщIэпсынщIэету Шэсахэщ шым, унафэ сэ къысхуащIри Яужь ситыну къызатыху жэуап. Гъуэгуанэ дыздытетым сыIууащ Аргуэру а зэран къысхуэхъуа лIыкIуэм. Ар пщIэжу щытмэ – Гонерилье деж ЕмыкIу къыщозыщIа хьэбыршыбырырщ. Сыкъыщиуду си джатэр къыщиспхъуэтым, Мо зи псэр IукIа гъуамэр кIийуэ хуежьэри БыдапIэм дэсхэр къызэщIиIэтащ. Уи малъхъэр къэсри уи пхъури абы щIыгъуу – Мы къызащIар хуэфащэу къалъытащ Си къэгубжьыкIэм. Шутым ЩIымахуэр иджыри икIакъым, къазхэр мо лъэныкъуэмкIэ щылъатэкIэ. ХуэIуджэIущэм адэр, Мэхъу быныр къаплъэнэф. Адэ къулейр нэхъ ядэ, Къащохъур нэхъ адэфI. ФитIнэщ мы гъащIэр: зрипэсу Пхуемыплъыххэну къулейсызым. Къэхъуаишхуи щыIэкъым. Уипхъухэм дяпэкIэ лъэпощхьэпоууэ узыхуагъэзэнум и бжыгъэр зы илъэскIэ къыпхуэлъытэнкъым. Лир Гур къоузыкIыр симыгъэбэуэжу. БампIэгъуэ, уэри щыботхьэлыкIыпэ, КъомыкъузылIэ мыпхуэдизу гум. ЗдэщыIэр дэнэ си пхъур? Кент Ар хьэщIапIэ КъэкIуауэ щыIэщ, графым и быдапIэм. Лир (Бейгуэлым жриIэу) Мыбдеж щыт. УнэмыкIуэ. КъыбгурыIуа? (ЙокI) Бейгуэлым ЖыпIам нэмыщI нэгъуэщI блэжьакъэ зыри? Тэмэм а къызэрытхуэпIуэтэжар? Кент НэгъуэщIу сыт злэжьынт? ФымащIэ хуэдэ? Пащтыхьым уэрэ… Адрейхэр дэнэ кIуа? Шутым Уи лъэхъур – мис апхуэдэ упщIэ гуэрым КъыпэкIуэу къуапэсамэ – къэблэжьат. Кент Сыт щхьэкIэ, шут? Шутым ХъумпIэцIэджым и деж угъэкIуэн хуейщ гъукIэгъэсэну. Абы къыбгуригъэIуэнщ щIымахуэм къыпхуэлэжьын зэрыщымыIэр. ИтIанэ цIыхухэм псоми ящIэ мэр зыхуэдэр, нэи иIэн хйещ. ЦIыху тIощI къэгъэуви зы яхэбгъуэтэнукъым Iуэху мыщIагъуэжым и мэр къыщIимыхьэну. Бгым шэрхъышхуэ къежэхрэ – лъэныкъуэкIэ текIуэт, уи пщэ гурыгъыр зэрищIыкIыну ухуэмеймэ. Ауэ ар бгым дэжмэ – зыкIэрыщIэ. Нэхъ Iущ гуэрым и чэнджэщыфI уригъэдаIуэмэ, мы уэстыр си дежкIэ къегъэкIуэкIыж. Хьэбыршыбырхэр щIредэIу абы, къозытыр щыделэкIэ. ПщIэкIэ къыпхуалэжьар Сомырщ зыхуэпэжыр, Ущыхъуам щхьэлажьэ, Чыхум холъэдэжыр. Уи шутыр тхьэмыщкIэ былымщ, УзыфIидзэнкъым шутым. Къохъу хьилэшыр щитхьэли псым, Хьэлэлыр хэткъым куэдым. Кент Дэнэ уэ ныкъуэделэм ахэр щызэбгъэщIар? Шутым Дэнэ щызэзмыгъэщIами, абы щыгъуэ лъэхъум систэкъым уэ делэм хуэдэу. Лиррэ Глостеррэ къагъэзэж. Лир Къызэмыпсэлъэфынухэу ара? Сымаджэ? Езэшахэ? Щхьэусыгъуэщ – ЗэрыжыIэмыдаIуэм и щыхьэтщ. Сыпоплъэр я жэуап. Глостер Си зиусхьэн. Уэ ущыгъуазэщ – герцогыр къэгубжьмэ, Къызэрыпхуэгъэшын зэрыщымыIэм. Сэ сфIэтэмэмкъым упэщIэувэныр. Лир Ажалыр зыхуэфащэм ирегъуэт! ЖыпIар къыбгурыIуэжу пIэрэ, Глостер. Сыхуейщ сэ, къыбгурыIуэмэ, сыхуейщ – Слъагъуну гергцогыр, и фызри дыщIыгъуу. Глостер Ар яжесIащ, зи щIыхьыр ин, абыхэм. Лир ЖыпIа апхуэдэу. БжесIар къыбгурыIуа? Глостер КъызгурыIуащ фIы дыдэу, зиусхьэн! Лир КъэдаIуэ, мис мыращ зэражепIэнур: Пащтыхьыр епсэлъэну хуейщ и малъхъэм, Корнуэл графым, хуейщ и пхъум епсэлъэну, Iуэхутхьэбзэ гуэр къригъэщIэну хуейщ. ЖепIа апхуэдэу? ЖеIэ къэмышыжым. Е умыпIащIэ… Пэжмэ ар сымаджэр – Зыкъоми хуэгъэгъупхъэу къыщIэкIынщ. Iэпкълъэпкъым узу итым псэр щихузым Хэт зи пIэм иримыхуу къинэжыфыр. ТIэкIу дыпэгъаплъэ. СыкъэгубжьыIуати Сегупсысакъым. Ар акъылыншагъэт – Сымаджэм жиIэр гум ебгъэжэлIэныр. Мы къэзгъэкIуар сыт? (Кент йоплъ) пхъэ лъэхъум щIрагуар? Мыбы я къэкIуэныгъэр щхьэусыгъуэщ. КъэфщIыж мыр хуит. ЯжеIэ – кIуэ иджыри – ЯжеIэ тIуми сазэрыхуейр слъагъуну, Къэсынхэу икIэщIыпIэкIэ си деж. ЯжеIэ дызэрагъэпсэлъылIэну, Армыркъэ – щыжей пэшым тракъутэну Си гъусэхэм унафэ яхуэсщIынщ. Глостер Ди Тхьэ, мамыру псори зэфIэгъэкI. (ЙокI) Лир УкъиузыкIыу уоуэ сигу… Нэхъ хуэму. Шутым ЩIэгуауэ абы, дизкъуажэ, пщафIэр бдзэжьей пIэтIауэхэм хуэдэу, и хупцIынэм хигъэзагъэурэ; «ФыкъыхэмыпIэнкIыкI, бзаджащIэхэ»,- жриIэрт, я щхьэм башкIэ еуэрти. А пщафIэм и дэлъхум и хуарэр апхуэдизкIэ фIыуэ илъагъурти, ирит мэкъым тхъу цIынэ хухилъхьэрт. Герцог Корнуэл, Глостер къохьэ. Лир Фыузыншэм, ди бынхэ! Герцог Корнуэл Уузыншэм, зиусхьэн! (Кент къаутIыпщыж) Реганэ Си гуапэщ услъагъуну. Лир Армырамэ, Скъутэжыпэн хуей хъунут си нэчыхь, ХузиIэр сэ уи анэр зэрылъ мащIэм, СыкъэзыгъапцIэу щытам къыхэнэжар ЗдэщыIэм. (Кент зыхуегъазэри) Хуит укъащIыжай уэ слъагъур, Абы иужькIэ детепсэлъыхьынщ Уи шыпхъур бзаджэнаджэу къыщIэкIащ, Реганэ, ар зэгъащIэ фIыуэ. Къуршыбгъэм хуэдэу къысфIыхиукIащ Бзаджагъэм и лъэбжанэр мы си бгъэчым. (И гум йопхъуэ) Гугъущ къэпIуэтэну. ПхуэщIынкъым уэ уи фIэщ – Абы бзаджагъэу хэлъыр, си хъыджэбз. Реганэ УопIейтеиIуэ, зиусхьэн. Сэ шэч Къытесхьэркъым емыкIу щIащIын къуаншагъэ Си шыпхъу жыхуэпIэм зэрыбгъэдэмылъым. Лир А жыпIэм къикIыр сыт? Реганэ Сэ Гонерилье Уэ лей къуихауэ хъункъым си фIэщ, Уи пащхьэ ихь къалэныр и гум ихуу, Пэжщ, уи бейгуэлхэм ирагъэлеярэ – Хуэфащэм хуигъэзамэ – сфIэтэмэмщ. Лир Зэпыту укIуэ! Реганэ Си адэ, жьы ухъуащ. Къыпхуэнэжар куэд Iейкъым уэ иджы, Уи Iуэху зытетыр нэхъ къызыгурыIуэхэм Я дэIэпыкъуныгъэ, я чэнджэщ Ухуэныкъуэнущ. Быдэу сынолъэIу: Гъэзэж си шыпхъум дежи гурыIуэж, Щыуагъэ пIэщIэкIари умыгъэпщкIу. Лир Къысхуигъэгъуну си пхъум селъэIунуи?! Уэзгъэлъагъунщ а жыпIэр хъунур зэщхь! (Лъэгуажьэпэ зрегъауэри) Си ныбэ къикIа сипхъу, сэ жьы сыхъуащ, Уэ сынолъэIу лъэгуажьэкIэ сыщыту Сшхын, щыстIэгъэн, гъуэлъыпIэ къызэптыну. Реганэ УмыджэгуакIуэ, къекIуркъым. Щыгъэт! Лир (КъызэфIэувэжу) ИгъащIэкIэ мыхъунщ а уэ къызжепIэр. СщIыгъуам шугъусэу къысхуэнар и ныкъуэрщ. И нэщхъ къэпыджэр иджыри щIэтщ си нэгу, Щхъухь зыхэлъа и псалъэхэр сощIэж. Къытекъутэнущ Тхьэ сызэрелъэIур, Уэгу мафIэ гуащIэр къеухыу илыпщIыну. Герцог Корнуэл ТIэкIу ебгъэлей къысфIощIыр, зиусхьэн! Лир Къызэрылъэлъу къэлыд уафэхъуэпскIым Абы и напэншэныр къигъэлыкI, Уз бзаджэ, къэгъэдзыхэ и пагагъэр, Шэд фIейхэм къыхиху бахъэ – И лыр вгъэщ! Реганэ Я ди Тхьэ, сэри гыбзэкIэ сыпшхыну Мыпхуэдэу укъэгубжьу къыпщхьэрипхъуэм? Лир Ар сытым щхьэкIэ? ЖыпIэр сыт, Реганэ, Апхуэдэр уи щэн дахэм къимылэжь. Абы и плъэкIэм укъегъэлыбыфыр, Уегъэмэмыр ууейм. Сэ мэхъу си фIэщ Уэ зэрызумыхуэнур си зэран. Зыхуей си цIыхухэр зэрыхуэбгъэзэнур, Сыплъагъумэ бжэр зэрумыгъэбыдэнур. ХьэмлашкIуэ къызэрыкIым IупщIэ хуещI ЩIыжаIэхэм уащыщкъым, фIыуэ сощIэ. Реганэ Нэхъ кIэщIу жыIэт. Лир Хэт лъэхъум изыгъэтIысхьар си лIыкIуэр? (Сценэм адэкIэ накъырэ щагъаджэ) Хэт зи накъырэр? Герцог Корнуэл Гонерилье хъунщ. Къитха письмом итащ къэкIуэни хуэдэу. Освальд къохьэ. Къэса уи гуащэр? Лир Флъагъукъэ мы нэжэс ЩыкIар, къыкъуэгушхукIыурэ и гуащэм. IукI зызумыгъэлъагъуу. Герцог Корнуэл СыткIэ сэ Сэбэп сыпхуэхъуфыну, зиусхьэн? Лир Хэт и унафэкIэ ирагъэтIысхьа Си лIыкIуэр мы пхъэ лъэхъум? Мыхъу си фIэщ Реганэ щыгъуэзауэ а делагъэм? Гонерилье къохьэ Мы слъагъур хэт? О, тхьэхэ, нэмыс гуэр ХуэфщIыжмэ жьыгъэм, фи щIасэм бын нэмыс, ФымыщIэлэжу щытмэ фэри ныбжькIэ – Зыфхузогъазэ – зэхэфх мы си тхьэлъэIур. (Гонерилье зыхуигъазэу) Щыджылыркъэ а уи нэхэр си жьакIэм? Мыбы, Реганэ, и Iэ бубыдынуи? Гонерилье Сыт къыщIимубыдынур? Иубыдынущ. ИкIагъэкъым апхуэдэу къащыхъу псори ИкIахэм зи акъыл. Лир Еууей, сэ сигу, А къомыр пшэчрэ узэгуэмыуду? Пхъэ лъэхъум хэт си лIыкIуэр изыпхар? Герцог Корнуэл Сэ си унафэкIэ ирагъэтIысхьащ, Нэхъыбэ къилэжьат, жыпIэнум пэжыр. Лир Сэращ жыбоIэ. Уи закъуэ уи унафэкIи? Реганэ Уи ныбжьым ухуэфащэу псэу си адэ! Зыкъомрэ мо си шыпхъум деж щыхьэщIэ. Шу гъусэу уиIэр зэхуэдитI ищIыкIи Зы гупыр утIыпщыж. Зы мазэ дэкIмэ, Си деж неблагъэ къэбгъэнахэр пщIыгъуу. ХьэщIапIэ сэри сыкъэкIуа къудейщ, Згъэхьэзыракъым ущыпсэун унэ. Лир СщIыгъуам и зэхуэдитIыр сутIыпщыжу Мобы и дежым згъэзэжынуи? Хьэуэ! Дыгъужри жьындури си пэшэгъуу НэхъыфIщ уэлбанэм, жьапщэм сыхэтыныр ЕкIуалIэпIэншэу губгъуэм сыкъинауэ. Мобы деж згъэзэжынуи! НэгъуэщI Iэмал щымыIэжыххэмэ, къысхуонэ Франц пащтыхьышуэр, сипхъу нэхъыщIэ дыдэр ДыщрыкI имыIэу щхьэгъусэ зыхуэхъуар. Сыщыувынщ лъэгуажьэкIи и пащхьи СылIэхукIэ сапIыжыну селъэIунщ. Мобы деж згъэзэжынуи? Мыхъужыххэм – Мы унэIутым и лIыщIэу сежьэжынщ. (Освальд дежкIэ и Iэпэр еший) Гонерилье УзэрыфIэфIщ. Лир Куэд сфIощIыр, си хъыджэбз, Мы си щхьэр зэтепхун уимымурадмэ. Сэ дяпэкIэ зэран уэ сыпхуэхъункъым, Иджы нэмыщIи зыкъозгъэлъэгъункъым. Сыт къэмыхъуами, узикIэтIийкIапэщ. Узипхъущ, нэхъ тэмэмыжу ныбжесIэнщи, Узиузыгъуэщ, узигуэрэф ябгэщ, СщIэт лъым и фIейр щызэхуихьэс гуэрэфщ. Сэ сыношхыдэркъым – зы зэман гуэр Къызэщреуж уи напэр. Уи натIэпэр Шабзэшэ уапIэ хъуну сыхуэмей. СайлъэIукъым тхьэхэм я зэран къокIыну, НэхъыфI узэрыхъуным ит иужь уэ Сэ сыппэплъэнщ, икIи апщIондэху Сыщыпсэунщ Реганэ деж си гъусэу Си шууеищэр. Реганэ Къысхуэгъэгъу, ди адэ. Уезгъэблэгъэным, си насыпыншагъэщи, Сэ иджыпстукIэ сыхуэмыхьэзыр. Си шыпхъум жиIэм нэхъ щIэдэIут, дядэ, Куэдщ, сабэр дупхъеями, сабырыж. Уэ жьы ухъуащ, жыфIар зыщыгъэгъупщи Си шыпхъум и къалэныр ищIэжынщ. Лир Къезэгъ къыпфIэщу пIэрэ а къыджепIэр? Реганэ Пэжщ жиIэр шыпхъум: ирикъунщ щэныкъуэр. Сыт нэхъыбэжыр? МащIэ? Пэжкъым ар. Шынагъуэщ, мылъку куэдыIуи ягъэкIуэщI. Апхуэдиз шу щызэщIэтаджэ лъапсэм, ГупитI я властыр щызэпэщIэувэм, Гугъущ щызепхьэну хабзэ ухуа гуэр. Гонерилье ГурыIуэгъуэххэкъым ущIыхуэмейр Къыптелэжьэну ди лэгъунэпытхэр? Реганэ Пэж дыдэщ ари. Арэзы уамыщIмэ – КъыджеIи яхуэфащэр ялъысынщ, КъыдэкIуэу псалъэм ныбжесIэнщи мыри – Шу тIощIрэ тхум нэхъыбэр къемызэгъщ Си деж ущыщыIэнухэм и дежи. Лир Сэ сиIа псори фхуэзгуэшащ фэ тIум! Реганэ Пэжщ, дядэ, и чэзууи къыдэптащ. Лир Унафэ псори фи IэмыщIэ ислъхьэри Шууищэр си щхьэхъумэу къэзгъэнащ. СыщIоупщIэжыр – пэж сэ зэхэсхар – Шу тIощIрэ тхурэ нэхъыбэ зыщIызгъуну Сыхуимытыну, сынакIуэмэ уи деж? Реганэ ЖысIащ апхуэдэу. Къытызогъэзэжыр: Шу тIощIрэ тху нэхъыбэ нысхуумышэ. Лир Дэ Iей къытфIэщIыр апхуэдэу мыIей дыдэ, Ар къозыгъэщтэжын урихьэлIам. Псом нэхърэ мынэхъ Iейм фIы фIэщи пыкI. (Гонерилье зыхуегъазэ) АтIэ, арамэ, сынокIуэж уи деж. Щэныкъуэр мэхъур тIощIрэ тхум хуэдитI, Апхуэдэу щыхъукIэ, уэ унэхъыфIщ хуэдитIкIэ. Гонерилье ЖыпIэнум пэжыр – лейщ а тIощIрэ тхури, Лейщ пщIыри, тхури щыпIыгъыну унэ, Уэ IуэхутхьэбзащIэу нэхъыбэ щыбгъуэтынум. Реганэ Ухуейкъым ящыщ зыи! Лир Дызыхуеинуми, дызыхуэмеинуми КъыщыщIумыдзэт. Факъырэ дыдэр къащти, Зэрыфакъырэу къыкъуокI нэхъыбэ гуэр. Узыхуей закъуэм тещIыхьамэ Iуэхур, Iэщ ухъужынкIэ хъунущ умыщIэххэу. Уэ убзылъхугъэщ – сыт щIыщыптIагъэр шылэ? Щыгъын щIедгъэдыр дигъэхуэбэнуракъэ? Шылэм и фIагъыу далъагъур – зэрыпсыпсырщ. Сэ Iэмалыншэу нэхъ сызыхуэныкъуэр ЗышыIэныгъэращи – Тхьэм къызит. О ди тхьэхэ! Фыкъаплъэрэ? Сымис: Къулейсызыгъэм, жьыгъэм сагъэпудыр. Мы сипхъухэр сэ къызэрыстегуплIар Фэ фи Iэмыру щытми, сыволъэIу – Фыкъысщымыдыхьэшхыу къифлъхьэ сигу Зэгуэудыным хуэфIу губжь къэкъуалъэ. Сыхуейкъым яутэну сэ си нэкIу Нэпс ткIуэпсхэм – ахэр цIыхубз Iэмэпсымэщ. Фэ удхэм сэ къызэфщIэр щывэсщIэжкIэ Дунейр къэскIэнщ. Сэр дыдэм сщIэркъым ар – Сэ силъ зэрысщIэжыну а Iэмалыр – Дунейм къыщымыхъуауэ къэзгъуэтынщ. Фыщоуэ сыгъ фи гугъэми. Сымыгъ, Сэ сыгъми хъунут, ауэ цIыкIу-цIыкIуххэу Щэ бжыгъэу сигу хэтхъар зэпкърыхунщ, Ар фымылъагъуурэ. Делэ сохъур, шут. Герцог Корнуэл ФынакIуэ. Уафэм зыкъызэщIищIащ. Реганэ Мы унэр инкъым. ЛIыжьым и шу гъусэхэр ЩIыгъужу, дауикI, дэ къытхэмыхуэнт. Гонерилье Езыращ къуаншэр. Сыт къыщIыщIэпхъуар? ЩызэIищIакIэ – зэIырырехыж. Реганэ ЗэсшэлIэжынт и закъуэ… Ауэ щIыгъухэр… Гонерилье Пэжщ, пэж а жыпIэр. Глостер дэнэ кIуа? Глостер къыIуохьэж. Глостер Пащтыхьым и лъыр губжьым къегъэкъуалъэ. Герцог Корнуэл Сыт адэкIэ ищIэну и мурад? Глостер Игъэшэсэхащ. ЗдаIуэнтIэнур сщIэркъым. Герцог Корнуэл Зэран дыхъункъым. ИрещI нэхъ зэрыфIэфIу. Гонерилье Къэнэну фемылъэIу. Глостер Пщыхьэщхьэ хъуащ. Къэсынущ жэщри. Жьапщэм зыкъеIэтыр. Мы Iэгъуэблагъэ плъагъум зы гуэрэн, Зы къэувапIэ… Реганэ Хуэфащэщ, къилэжьащ. И ерыщагъым кърикIуам IурещIэ. IурещIи дерс къыхырырех. ИужькIэ. Сэбэп къыхуэхъужыну. Куэбжэр хуэфщI, Абы щIыгъу щхьэпыупщIхэр гугъу демыхьу Ар трагъэлъэдэфынущ я щхьэ къихьэм. Сакъын хуейщ. Герцог Корнуэл Вгъэбыдэ дыхьэпIэ псори, граф. Жэщ бзаджэщ икъукIэ, жьапщэм фыныхэкI! (ЙокIхэр) Ещанэ акт Езанэ сценэ Губгъуэм Борэнщ. Уафэр мэгъуагъуэ, мэхъуэпскI. Кентрэ бейгуэлымрэ лъэныкъуэ зырызымкIэ къохьэ. Кент Борэн нэмыщI тетыжкъэ мы дунейм?! Бейгуэлым Борэным ещхьу пIейтей гуэр бгъуэтынущ. Кент Сэ узоцIыху уэ. Пащтыхьыр дэнэ щыIэ? Бейгуэлым ИрекъутэкI пащтыхьым, зиусхьэн! Борэным хэувауэ жьапщэм йобж, ЩIыр хым ныхипщэжыну къигъэдаIуэу, Е щIым къытриIубэну хы губжьар, Дунейр нэгъуэщIу къызэридзэкIыну, ХузэфIэмыкIрэ – къигъэсэхыжыну. Пащтыхьым кърифыщIыкIыж и щхьэц Iэрамэхэр епхъуатэ жьапщэм псынщIэу. ЦIыхупсэ гуащIэмащIэм и къарукIэ ПэщIэуващ тхьэмадэр уэшхрэ жьапщэу Зэрытхьэлэжу къызэрыIэтам. Мыщэбзи, аслъэныхъуи, щхъуэжь губжьаи Тегушхуэу гъуэм къыщимыкIыф мы жэщым ПыIэншэу зэхэзожэ ди пащтыхьыр, Къигъэгубжьыну пIащIэу и уахътыр. Кент И гъусэр хэт? Бейгуэлым Шут закъуэращ и гъусэр, Пащтыхьыр тригъэуну хэтщ тхьэмыщкIэр. Кент Уэ дзыхь къуагъэзми хъуну къызолъытэ, КъэдаIуэ мыдэ – сэ бжесIэну щэхум. Сыт хуэдэу щIауфэн ямымурадми, Зэзэгъыркъым пащтыхьым и малъхъитIыр. ЩытепщэкIэ абыхэм я куэдынкъэ Iэпыдзлъэпыдзи, унэIути, пщылIи. Я зиусхьэнхэм я Iуэхум нэхъ щыгъуазэхэм Яхэтщи и бзэгузехьэ франц пащтыхьым, Ди къэралыгъуэм сыт къыщемыкIуэкIми Нагъэс абыхэм зыхуэлажьэ хэкум. Ди лIакъуэлIэшхэм яку илъ зэныкъуэкъум Щыгъуазэщ францхэр, щыгъуазэщ ди пащтыхьым И пхъуитIым лей къыкIэлъызэрэхьам. А псори пщызыгъэгъупщэжыфын НэгъуэщIи дэ къыдащIэ ди гъунэгъухэм. Къагъэсэбэпри ди хэкум илъ мыгъуагъэр ЩитIысыкIакъэ ахэр ди щIы кIапэ. Я ныпыр яIэтынщ нобэ-пщэдеи Джатэ къихакIэ зауэр яублэнщ. БжесIам шэч къытумыхьэу Дувр хуэпIащIэ. Абы къыщыбгъуэтынущ уэ бзылъхугъэ, Жумарту тыгъэкIэ ущIэзыгъэнэн, ХуэIуатэ закъуи ди пащтыхь тхьэмыщкIэр И жьыщхьэ зыхэхуа мыгъуагъэр. ПIащIэ. НыщIызгъужынщ мы зыри: си уэркъыгъэм Уэ къыпхуищI дзыхьыр сэ ныпщысщI къалэнщ. Бейгуэлым Зэ къысхутегъэзэж жыпIам иджыри. Кент Узыхуэмейщ. Зэман гъэкIуэдщ. Мэ, къащтэ! Ууейщ ахъшалъэр, дэлъу хъуар ууейщ Сэ схузэфIэкIыу къыпфIэщIым нэхъыбэIуэ ЗэрыслъэкIынур къыпщищIыну хьэкъ. УIущIэфыну къыщIэкIынщ Корделие, Мэ, си Iэлъыныр егъэлъагъу ухуэзэм,- ИтIанэ уэ езым къыбжиIэжынщ Сэ сызиIысыр. Зэрыинат мы щIэблэр. Пащтыхьым и лъыхъуакIуэ сыхыхьэнщ. Бейгуэлым Сэ уи Iэр скъузыжынщ. А къызжепIам КъыщIыбгъужыпхъэу зыгуэр пщыгъупщэу пIэрэ? Кент Псом нэхъ нэхъапэм теухуа псалъитI: Пащтыхьым япэу ныIущIэм мыдрейм ЗыкъригъэщIэну дызэгурыгъаIуэт. МыбыкIэ сэ сыкIуэнщ, мобыкIэ – уэ! (ЗэбгрокIхэр) ЕтIуанэ теплъэгъуэ Губгъуэм и нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ. Борэнщ. Лиррэ шутымрэ къоблагъэ. Лир Ей, жьапщэ! Папщэ нэкIуфэр зэгуэбуду. Флюгер пэнцIыви, тхьэгъушхэм я щхьэщIыби Псым щIебгъэIубэу къешх уемышу, уэшх, Фэ – щыблэм и шабзэшэхэу – гупсысэр ЗылъэщIэмыхьэу хъуэпскIыу жыгеижьхэр Зэгуэзыгъэчхэ! Си щхьэ тхъуар хэвгъасхьэ Фи мафIэм. Уэри, щыблэ, мы дунейр, Дуней хъурейр лэкъуму къэупIэщI, Зэхэгъэсхьэж, мы жьапщэмкIэ ехьэжьи, ЦIыхум я жылэ фIейр щызэгъэлымпI. Шутым Уэркъхэр щызэуэршэрылIэ унэм щыбгъуэт псыр, дауикI, нэхъ зэгъщ мы уэшхыпсым нэхърэ, унэжын. Уипхъухэм деж дыгъэгъэзэжи, унэжын, дегъэлъэIу ди гуэныхь къытхуагъэгъуну. Делэри губзыгъэри и зэхуэдэщ мыпхуэдэ жэщым. Лир Гъуэг жьапщэр! УафэхъуэпскIым гъэс къешх уэшхыр. Фызипхъукъым жьапщи, уафэгъуагъуи, уэшхи, Сэ фыгущIыIэу слъытэркъым – зэхэфх. Фэстакъым пащтыхьыгъуи нэгъуэщI тыгъи, Си бынуи фыслъытэкъым. Си зы хьэкъ Фэ фтелъкъым. Фымыплъакъуэу щIэвгъэхуабжьэ, КъыфIэфлъхьэ си щхьэ фхузэфIэкIыу хъуар! ЛIыжь къарууншэу сэ лIыжь къулейсызыр Джэгуалъэ фэри сыфщIу арагъэнщ. Сыщыуэрт: фыкъыхэтщ ди Iуэхум куууэ, А сипхъухэм фрателъхьэу. Зы шуудзэу ФыкъебгъэрыкIуэу си щхьэ къетхъухам. Сыт напэр фиIэ, фызыщIэгупсысыж! Шутым И щхьэр зыщIиIужын унэ зиIэм, дауикI, и пщэм щхьэ фIэтщ. Хэлъадэу хэт къишами фыз, Зримыгъэпэщу щыпсэун, Бжьыхьэпэу щIедзэ зэдзэIун, ЩIымахуэр къэсмэ мэкIэзыз. Уи нэIэ уи псэм нэхъ тегъэт, Iэпхъуамбэм уеплъу ущымысу, Бэлыхь лэрыгъуми ухегъэт, Зы мыхьэнэншэм удэгызу. Ирихьыркъэ уигу? И гъуджэм хуэарэзыжу мы дунейм зы тхьэIухуд тетауэ пщIэжрэ? Лир Куэдщ ар – жысIар. ЗышыIэу нобэ сиIэр И щIыIу къэхъункъэ… Кент къохьэ. Кент Хэт ар? Шутым Узыхуей псори. Щхьэри кIэри. Губзыгъэри делэри. Кент Уэра ар, зиусхьэн. Мыпхуэдэ жэщ Мышынэу хьэкIэкхъуэкIи гъуэгу темыхьэ. Дунейр дэзджызджу уафэ къэгубжьам Щошынэри гъуэм къиплъкъым псэ зыIутыр. Сэ къэзгъэщIам апхуэдэ щыблэ уэкIи, Апхуэдэ уэшхи къысхуэгубзыгъыжкъым. Бэлыхьу нобэ фэ къыфтепсыхар Псэхэхым имылIыкIуэмэ – хьэлъэIуэщ. Лир Зыфхузогъазэ: Уащхъуэ и сэтейм ЩызекIуэ тхьэхэм наIуэ къэфщI ди бийхэр. Зреумысыж хъунщIакIуэм. ЛIы зукIам Уи жып игъапщкIуэ лъы зыкIэрылъ уи Iэр. ЛIыгъуэфызыгъуэкIэ Iыхьлыгъэр зыгъэпудхэ, ЗигъэщихънэкIуу тхьэр зыгъэпцI фасикъ, КъэфтIатэ фи гум фIей гъэпщкIупIэу иIэр, Къыфхуагъэгъунуи псынщIэу тхьэ фелъэIу. Дунейм гуэныхьу сэркIэ къыщахьар Нэхъыбэщ сэ къэсхьа гуэныхьым нэхърэ. Кент УщхьэпцIэщ уэ. Мобдежым пщыIэ щытщ, Борэныр тщхьэщыкIыху щIэтIысхьи, Сэ згъэзэжынщ а зи гур мывэм ещхьу БыдапIэ хуабэм щIыхьэжахэм деж. Уэ сыныплъыхъуэу зэ сыкIуат абы сэ – Сыдагъэхьакъым. Иджыри зэ сеплъынщ, ФIырыфIкIэ къыдамыхмэ я хьэщIагъэ, КъарукIэ я хьэщIагъэр къатесхынщ. Лир Сэ нобэ делэ сыхъуу къыщIэкIынщ. Сыт си ныбжьэгъу тхьэмыщкIэ? УпIыщIа? СопIыщIэ сэри. Дэнэ щыIэ пщыIэ Зи гугъу къысхуэпщIыр? Пэжщ, апхуэди къохъу Къулейсызыгъэм шатыру къыпфIигъэщIу Хьэщпакъ Iэслъэсыр. Сэ си шут тхьэмыщкIэ, Сызыхэт гуауэ къыщыстегуплIапэми Уэр папщIэ мы сигу кIапэр пекъузыкI! Шутым Зи щхьэм щхьэкуцI лъэпкъ имылъыр Уэи, уэшхи щымышынэ. Щыуэлбани хуабэщ и лъыр, Хуиту къигъэплъэфу и нэр. Лир Пэжщ, ныбжьэгъу цIыкIу. ИIэ, дышэ уи пщыIэм. Лиррэ Кентрэ йокI. Шутым Сыт хуэдэ губжьри хуэгъэупщыIуну жэщщ мыр. Сежьэжын ипэIуэкIэ тIэкIурэ сыфхуэтхьэгурымэгъуэнщ иджыри. Къаублэм попхэм дэкIыу вакIуэ, ЕфапIэм щIэтхэм пивэм псы ХамыкIэжыну си тхьэрыIуэщ… Дэрбзэрхэм щэкI къадыгъужынкъым, Зы уди мафIэ хадзэжынкъым. Хьэрэм суд щIапIэм щашхыжынкъым, Зы цIыхуи щIыхуэ къищтэжынкъым, ТхьэгъэпцIым пцIы иупсыжынкъым. ДыгъуакIуэр жып иIэбэжынкъым. ХэхъуэшхуэкIэ зи ахъшэ зытми И мылъкур дидзэжынущ щIитIым. ЦIыхубзкIэ иримыкъуу зыхьым Флъагъунщ тхуиухуэу храм бэлыхьыр. Бгъуэнлъэнщ итанэ Альбионыр, Сухащ си тхьэгурымэгъуэныр. Сигу къишхыдыкIа псалъэр зыIуэтэну Мерлин си ужькIи псэунущ. Ещанэ теплъэгъуэ Глостер и быдапIэм щыщ пэшщ. Глостеррэ Эдмондрэ къохьэ. Глостер Ей, Эдмонд, сигу ирихькъым сэ мыбы я гущIыIэ-псэщIыIэкIэр. Хуит сыфщI сыдэIэпыкъуну щажесIэм, я унафэр си унэкум къралъхьащ. Къытезгъэзэжрэ абы щхьэкIэ сайлъэIуми и гугъу яхуэсщIми игъащIэ псокIэ къызэрысхуэмыгъунур быдэу къызгурагъэIуащ. Эдмонд ИкъусыкъужкIэ цIыхугъэншэхэщ. Глостер Хъунщ, жумыIэIа. Герцогхэр зэщыхьэжащ. Абы нэхърэ нэхъапэжуи Iуэхe щыIэщ. Сэ нышхьэбэ письмо гуэр къысIэрыхьащи, утепсэлъыхьынуи шынагъуэншэкъым. Си пэшым щызгъэпщкIури IункIыбзэ естыжащ. Пащтыхьым къылъыс леqр ягъэгъункъым. Ди щIы кIапэм биидзэ щитIысыкIащ. Дэ пащтыхьым дыкъуэувэн хуейщ. Сэ ар хэIущIыIу зызмыщIурэ къэзгъуэтынщи сыдэIэпыкъунщ. Герцогым и деж кIуэи, удэуэршэр хуэдэурэ, сэ сыкъызэрытым гу лъимытэну щIы. Сымаджэ хъуащ, пIэ ищIри гъуэлъащ – жыIэ. Си щхьэр палъэну сагъэшынэми, си пащтыхьыжьым сыдэмыIэпыкъуфыну схузэфIэкIынукъым. Iуэху хьэдыгъуэдахэ куэд щызэрахьэ мы дунейм, Эдмонд. Тхьэм щхьэкIэ сакъ! (ЙокI) Эдмонд Пащтыхьым къыдэщIын зэримурадри КъызэрыIэрыхьари письмо щэху СыкIуэнщи герцогым хуэсIуэтэжынщ сэ: Iэмал гъуэзэджэщ гу зылъезгъэтэнумэ. ЙосыкI мы лIыжьыр. Сэ си Iуэхур докI. Хъарзынэу псэуащ. Сысейщ чэзур. (ЙокI) ЕплIанэ теплъэгъуэ Губгъуэм ит пщыIэм деж. Борэнщ. Лир, Кент, шутыр къохьэ. Кент Зи гугъу сщIа пщыIэр мисыр, зиусхьэн. Куэдщ жьапщэм узэрыхэтар. НыщIыхьэ. Лир КIуэ сыкъэгъани. Кент НыщIыхьэ. Лир Уэ сэ слъагъур Убэяунукъым, умыкъутэу си гур. Кент Iэмал имыIэмэ скъутэжынщ сысейр, НыщIыхьэ, зиусхьэн. Лир УгъэщIэгъуэнщ. Уэ бэлыхьышхуэу къыпщыхъуу къыщIэкIынщ Уи къупщхьэм лъэIэсыныр уэшхыпс щIыIэр. Насыпыншагъэр къыпфIэмыIуэхуж УзыщI мыгъуагъэ мэхъу ужьэхэуэнкIи. Къызыщыгъэхъут: укърихужьауэ Мыщэхъум уеху укъызримыгъэплъэкIыу. Уносри къыбжьэхолъэ къэгубжьа, Къэукъубей тенджызым и толъкъунхэр. ПлъэмыкIыу мыщэм зыкъыхуебгъэзэкIынущ. Псэр щымамырым – Iэпкълъэпкъыр узыгъуафIэщ. Мы си бгъэм сыт илъами кърихащ Псэм и борэным. Зы закъуэщ бгъэм къинар – Къэслъхуа си быным я цIыхугъэншагъэр. КъызыфIэгъэщIыт къедзакъэжу жьэр Ишх псори хуэзыхь Iэм. Аракъэ зэщхьыр Сэ сипхъухэм ялэжьар. ИремыпIащIэ: ЯхуэфI сымыхъумэ нахуэу сытхьэгъэпцIщ. Мыпхуэдэ жэщым губгъуэм сыкъранэу! Къешх, уэшх! Къежэх, уэшх. Мис – сыпхуэгъэзащ. Мыпхуэдэ жэщым… Реганэ… Гонерилье… Зи мылъкуи, хэкуи къыфхуэзыгуэша, ФызыпIа фи адэжьыр къивнэу губгъуэм. Зэточ мы си щхьэр. Къоутхъуэ гупсысэр. Сыхъунми делэ зыри хуэмыIуа! Кент ДыщIэгъэувэ, зиусхьэн пащтыхь. Лир Уэ уи щхьэ хуэсакъыж. Ета мы жьапщэм Псэр схуегъэпсэху сримыгъэгупсысу Сызыхуэмейм. Хъунщ, накIуэ. ДыщIыхьэнщ. (Шутым жриIэу) НыщIыхьэ, тIыкIуэ. Уэри уунэншэщ. Тхьэ селъэIунщи сэ сыгъуэлъыжынщ. Шутыр пщыIэм щIохьэ. Унэншэу, фаджэладжэу псэу хъарыпхэ, Фэ фыщыхэтыр дэнэ? Мы борэн Мыубзэщхъужу жьапщэкIэ къытхэуэм Сыт фиIэ мыгъуэ пэIувдзыну фэ? Абыхэм япэм семыгупсысыххэт. Мылъкум пэ лъагэ ищI, нэхъ зыхулъэкI, Мис, къаплъэ, уэркIэ дерскъэ: а тхьэмыщкIэхэм ГущIэгъу хуэпщIыну уиIэмэ мурад. Къызыщыгъэхъу зимыIэм я пIэм уитуи, Уи мылъкум щыщ абыи ялъыгъэс Уи псапэм тхьэхэр ищIу арэзы. Эдгар (ПщыIэм къыщIэпсэлъыкIыу) Сажнэрэ ныкъуэрэ, сажнэрэ ныкъуэрэ? Том тхьэмыщкIэ! Шутыр пщыIэм къыщIожыж. Шутым УмыкIуэ абы, унэжын. УмыкIуэ, бзаджэнаджэ щIэсщ. Уэ-уэу – мыгъуэ! Мы дунейри! Кент Къащтэ уи Iэр. Хэт ар? Шутым Жын фIыцIэщ, жын фIыцIэщ. ЖиIэр пэжмэ, ар Том тхьэмыщкIэщ. Кент КъыщIэкIыт мыдэ, гъуахъуэу а хьэуазэм хэлъыр. (ПщыIэм къыщIокI делафэ зытезыгъэуа Эдгар) Эдгар ФыщIэпхъуэ. Сэ сыкърахуэкI жын фIыцIэм. БанапIэм ищхъэрэжьыр щопэщащэ. ПIэ щIыIэм гъуэлъи зыкъэгъэхуэбэж. Лир Уэ мылъкуу уиIэр уипхъухэм яхуэбгуэшу Ара мыпхуэдэу укъэзыгъэнар? Эдгар Къефт факъырапщIэ Том тхьэмыщкIэм. ШейтIаным куэдрэ зэприхуащ ар мафIэсхэм, псыпцIэхэм, щIыналъэ мыджэмыпцIэхэм. ШейтIаным Iэджэрэ Том и пIэщхьагъым къыкIэщIилъхьащ сэ щIэлъыкIахэр, и тIысыпIэм хуэищхьэIуэу къыщыхуфIидзащ зэзыпилъэжын кIапсэ, ириф хъудырым щхъухь Iэбжьыб Iэджи къыхухикIутащ. ШейтIаныр Iэджэрэ хэтащ и ныбжьым иужь иту Том щIигъапхъуэу пхъэ закъуэ лъэмыжхэм тригъэлъэдэну. Фи акъылыр Тхьэм къихъумэ. Бр-р-р! Том мэпIыщIэ. Тхьэм фыщихъумэ жьапщэми, вагъуэм и нэ Iей къыфтехуэнми, уз зэрыцIалэми. Том насыпыншэ къыхуэфший ишхын къызэрищэхун тIэкIу. КъытогуплIэ абы шейтIаныр. Мис а хьэбыршыбырыр езри. Мыдэ зэ умыпIащIэ. Сэ уэ пхуэфI сыхъункъэ. (Борэнщ) Лир Плъэгъуа къращIар цIыхум ипхъу къилъхуахэм! Зыгуэр къызыкъуэбнат умыгуэшыжу? Шутым И кIэпхыныр къызыхуигъэнэжащ. Армырамэ дыIуплъэнуи емыкIу хъунти. Лир Бзаджагъэу щIыгу щызекIуэр зы къэмынэу я натIэ ухъу уэ уипхъу хьэбыршыбырхэм. Кент Пхъу иIэкъым абы, зи щIыхьыр ин. Лир Бэяу! СощIэж сэ жысIэр. Ипхъу нэпсейхэм НэмыщI тхьэмыщкIэм лей хэт кърихынт. IэпкълъэпкъкIэ бэлыхьищэр ягъэвыныр Къыдахуа адэхэм я натIэ мэхъу. ИкIи тэмэмщ. Абыхэм я Iэпкълъэпкъырщ Къуэншар къызэралъхуамкIэ апхуэдэпхъу! Эдгар Тесащ къандзэгум Пилликок, Шытх цIыкIуми тесащ… Шутым Мыр зищIыIагъ жэщым шутрэ хэвыхьрэ дищIыну къыщIэкIынущ псори. Эдгар Бзаджэнаджэм зыщхъумэ, укъэзылъхуа адэ-анэр лъытэ, уи псалъэм хуэпэж, тхьэ умыIуэ, нэгъуэщIым и фыз уемыхъуапсэ, уи мыгъуэр фIыгъуэм иумыгъасэ. Том мэпIыщIэ. Лир Хэту ущыта япэм? Эдгар Щхьэпс пагэ гуэру. Си щхьэцыр згъэутIэрэзырт, IэлъитIыр шляпэм телъу къесхьэкIт. Си мыгъуэ закъуэм зыхуей псори хуэсщIэрт. Псалъэу жесIэм етIуанэр тхьэрыIуэт, тхьэ сIуэр зызмыгъэхьэкъуэуи згъэпцIыжырт. Тхъэжыгъуэм сегупсысу сыгъуэлъыжырти, ар аргуэру зэрызэзгъэгъуэтынум сегупсысу сыкъэушырт. Сыфэдафэт, ахъшэ джэгум сыхэтт. БзылъхугъэкIэ Тырку сулътIаным нэхърэ сынэхъ нэпсейт. Си гум пцIы илът, псалъэ щхьэкIэ си жып сиIэбэтэкъым, си IэштIымым сыхуиттэкъым, кхъуэм хуэдэу сыщхьэхынэт, бажэм срещхьу сыхьилэшыт, дыгъужьым хуэдэу сыныбэмыгъэнщIт, хьэм ещхьу сыбзаджэт, аслъэным хуэдэу сынэпсейт. Туфлъэ цIыкIум и тетIыркъэкIэмрэ шылэм и Iущащэ макъымрэ зыдумыгъэхьэх, кIэм къакIэлъумыжыхь, хэхъуэкIэ ахъшэ зытым зыщыхъумэ, шейтIан зытумыгъакIуэ! Ищхъэрэжьыр баналъэм щофий, Ирефий, ирефий а щIыфашхэр. Умыжэ абыкIэ, къэгъазэ, дофин. (Борэнщ) Лир Кхъэм ущIэлъамэ нэхъыфIт уэ тхьэмыщкIэр мы дуней хьэлэчыр уи щIыфэ пцIанэм тебгъэджэгухьа нэхърэ. Ей, Iуэхур и нэм нэса нэужь мы слъагъуракъэ цIыхукIэ фызэджэжри? ФеплъыIуэт. Мыбы езым щымыщу зыри кIэрылъкъым – е шылэм, е выфэм, е мэлыцым, е нэгъуэщI зыгуэрым къыхэщIыкIауэ. Дэ псори дыIэрыщIым хуэдэщ. Мис мыращ цIыху дыдэр. ЛъакъуитI зыщIэт мы Iэщ пцIанэ тхьэмыщкIэр аращ и нэм нэсмэ цIыху дыдэр. Iудвгъэдзыт-тIэ лейуэ ткIэрылъыр. КъэтIатэт мыдежыр. (И щыгъыныр зыщидзу щIедзэ). Шутым Бэяу, унэжын. ЗыщыбгъэпскI хъун хуэдэ жэщкъым мыр. Иджыпсту губгъуэм мафIэ тIэкIу къибгъуэтэнри зи ныбжь хэкIуэта цIыхум и гущIэм гъащIэм и зы хъуаскIэ къыщыпхутэнри зэщхьыркъэпсщ. А зыращ хуабэу къэнэжари, адрей псори диящ. Къэзылъэтыхь мафIэу ара слъагъур? Фыплъэт? Ди дежкIэ къиунэтIуи си гугъэщ. Эдгар Флибертиджиббет шейтIанырщ ар ар. Абы жэщкIэрэ къеджэдыхь, цIыхунэм щIыIуху трелъхьэ, нашэ ещI, гуэдз лъабжьэр щIегъэфыкI, псэ зыут псоми Iисрафыр яхелъхьэ. Щихъ Витольд щэнейрэ яхуилъащ, Уд фызхэр жыхапхъэхэм къригъэлащ Яхурихри я гур щигъэщтахэщ жэщ гъуэгум Бзэх удыр, щIы фIыцIэм щIэлъадэ, ТекIуэт! Кент Сыт хуэдэ, зи щIыхьыр ин? Глостер къохьэ, факел иIыгъыу. Лир Хэт ар? Кент Хэт ар? Хэт узылъыхъуэр? Глостер Фыхэт фэ? Фи цIэр хэт? Эдгар Сэ сы-Том тхьэмыщкIэщ. Абы и Iусыр хьэндыркъуакъуэ, шынакъыкI, шындырхъо хуэдэхэр аращ. ШейтIаныр къыщытекIуапэм деж – вэнвейри мыхьэмышх ищIыркъым, дзыгъуэшхуэхэр зыIурелъэф, псэхэлIэл фIыуэ ешхри шэдыпс щхъуантIэ трефыхьыж. Ар зы къуажэм къокIри нэгъуэщI къуажэ макIуэ, зы лъэхъум къиувыкIмэ – адрейр къыхуралъхьэ, зы тутнакъым къикIмэ нэгъуэщIым ирагъэтIысхьэ. Абы и пхэщIыщхьэм цеищым я кхъуакIэ щыщIехурыхукI, джаних щыгъщ, и шыр шэщым щIэтщ, езым ибгъукIэ джатэр щолэлэх. Хъуащ илъэсибли Том шэджагъуэм И Iэнэм къыхутралъхьэр дзыгъуэщ. Фыхуэсакъ си жыным. Мес, захущыхьыр. Бзэх, кIуэцIрыху, жын фIыцIэ! Глостер Мы узыхэсхэр сыт мыгъуэ, зиусхьэн? Эдгар КъызэрыгуэкI фи гугъэ жын фIыцIэхэу Медорэ Мегорэ – кIыфIыгъэм и пащтыхьщ. Глостер ЦIыху цIыкIур апхуэдизкIэ зэкIуэкIащи, Хъуащ быныр адэ-анэм хуэмеиж. Эдгар ПIыщIащ Том тхьэмыщкIэр. Глостер Унафэу уипхъухэм уэ къыптращIыхьам Сэ седэIуэныр – къысхуемыгъэзэгъ: Мы губгъуэ нэщIу борэныр щыетам ЩхьэтепIэныншэу укъызэрыранар. Ущыхуэбэн, ущымымэжэлIэн Зы егъэзыпIэ сэ къыпхуэзгъуэтынщ. Лир Мы гупсысакIуэм зэ севгъэупщIыж: Уэ пщIэрэ къызыхэкIыр уафэгъуагъуэр? Кент ДыгъакIуэ дригъусэу дыздишэнум. Лир Зэт уэри. Фивы щыщ мы гупсысакIуэм ПсалъитI-щы жезгъэIэж: уэ сыт къэпщIа? КъэбгъэщIа гъащIэм? Сытым ухуэIэзэ? Эдгар ШейтIан зэрыIуагъэщтым. Блэ укIыным. Лир Зэ фымыпIащIэ. Севгъэчэнджэщ мыбы. Кент (Глостер жриIэу) КъыгурыгъаIуэ. Плъагъуркъэ – мэIуэщхъу, Дэ зыкъытщIигъуу нэкIуэну къытегъыхьэ. Глостер УигъэIуэщхъун уфIэщIыркъэ уи быным Къалъыхъуэу хэлъэдэжмэ уи кIуэдыпIэ. КъищIат а Iуэхур зыхуэкIуэнур Кент. Лир зэIыхьауэ бощIыр шэч уэ слъагъум. ИIащ щIызэIыхьэни. Сэ езым Апхуэдэр къызэфыкIыу къыщIэкIынущ; Псэуху сытемыплъэну нэлат есхри, Сэ си къуэм иджы дыдэ сыпыкIащ. Куэд дыдэ щIакъым къызэрыспэщIэхуэрэ Сигъэунэхъун мурад къысхузэрихьэу… Абы нэхъыфIу слъагъуи бын сиIакъым, И бампIэр къыспкърыхьэмэ – сеукIыр. Жэщ ябгэщ. НакIуэ, зиусхьэн, ди гъусэу. Лир Зэ къэдэIуэжыт, гупсысакIуэ, моуэ. Эдгар МэпIыщIэ Том. Глостер Уи пщыIэр миc – щIыхьэж. Лир ФынакIуэ псори. Кент Хьэуэ, зиусхьэн, НэгъуэщI лъэныкъуэкIэщ дэ дыздэкIуэнур. Лир Къысхуэгъэнэнукъым мы си гупсысакIуэр. Кент (Глостер жриIэу) АтIэ сыт тщIэн? Хъарыпри здыщIыдгъунщ. Глостер Арауэ къыщIэкIынщ. Кент Зыкъащтэ щIалэ. Лир ЕужьэрэкIыт Афины дэс лIы пщхьэпэ. Глостер СыныволъэIу фымыIэуэлъэуэну. Эдгар Роланд и шым тесу нэсащ быдапIэжьым, «Ей-ей британхэм я лъымэ КъыщIехьэ» - жи иныжьым. (IуокIхэр) Етхуанэ теплъэгъуэ Глостер и быдапIэм щыщ зы пэш. Корнуэлрэ Эдмондрэ къыщIохьэ. Герцог Корнуэл И унэр ибгынэн и пэ къихуэу, къилэжьар естыжынщ сэ абы. Эдмонд Ар хъунукъым, зиусхьэн. Присягэр и адэм нэхърэ игъэнэхъэпащ къысхужаIэнщ. Сэ икъукIэ сыщошынэ апхуэдэ псалъэмакъым. Герцог Корнуэл Иджы сэркIэ гурыIуэгъуэщ уи къуэшыр цIыкIуфэкIукIэ абы зэрыщымыхьэжар. Езы Глостер къилэжьащ ар. Эдмонд Сыту мыгъуэ сынасыпыншэт сэри. Иджы сыхущIегъуэжын хуей мэхъу Iуэху тэмэм зесхьам. Мисыр абы зи гугъу къысхуищIа письмор. Письмор щыхьэт тохъуэ ар французхэм зэратIасхъэщIэхым. ЕI, дунеижьыр къэзыухуа! Сэ куэд щIэстынт, япэрауэ, апхуэдэу Iуэхур къемыкIуэкIауэ, етIуанэрауэ, сэри ар сэтей къэзмыщIауэ зыкъызэридзэкIыжыну хъунутэмэ. Герцог Корнуэл НакIуэ си гъусэу гуащэм деж. Эдмонд А письмом итыр пэжу къыщIэкIмэ, дэ Iуэхуу къытлъыкъуэкIынум гъуни щIэи иIэнукъым. Герцог Корнуэл КъыщIэкIми къыщIэмыкIми а письмом уэ граф Глостер уищIащ. Къэгъуэт уи адэр икIэщIыпIэкIэ къэдубыдыфын хуэдэу. Эдмонд (ЛъэныкъуэкIэ) Абы пащтыхьым и гур фIы хуищIу срихьэлIэмэ, мыр нэхъри дзыхьмыщI хъунущ. (Ину) ДяпэкIи сыхуэпэжынущ сэ гражданскэ къалэным, абы щхьэкIэ Iыхьлыгъэм себэкъуэн хуей хъуми. Герцог Корнуэл Шэч къытесхьэркъым. Адэ зиIэм уезмыгъэхъуэпсэнуи укъызогъэгугъэ. Еханэ теплъэгъуэ БыдапIэм пэгъунэгъу фермэм и пэшхэм ящыщ зым, Глостер, Лир, Кент, шутыр, Эдгар къохьэ. Глостер Сыт хуэдэу щымытми, мыбдеж нэхъыфIщ щIыбым нэхърэ. Къысхуэвгъэгъу мыбэлыхь Iеймэ, сыкIуэнщи, хъуххэнумэ, нэхъыфIыIуэу зыгуэр къэзгъуэтынщ. Куэдрэ сыкъэтынкъым. Кент И акъылыр пэлъэщакъым къытепсыхам. Уи хьэлэлыгъэм хуэфэщэн пщIэ Тхьэм къыпхуищI. Глостер йокI. Эдгар Фратеретто къызоджэ. Абы жиIэр пэжмэ, ахърэтым и гуэл кIыфIым и Iуфэм Iусу Нерон бдзэжьей йощэ. Тхьэ елъэIу, делэжь цIыкIу, бзаджэнаджэм зыщsхъумэ. Шутым КъызжеIэт, унэжын, акъыл ныкъуэм и къулыкъур дэнэ нэсрэ? Уэркъ, хьэмэрэ лъхукъуэщауэ. Лир Пащтыхь, пащтыхь! Шутым Хьэуэ! Акъыл ныкъуэр езыр къызэрыгуэкI лъхукъуэлIщ и къуэр уэркъ щауэу. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, къыпхуэту щытын хуейщ – уэ улъхукъуэлIу, уи къуэр уэркъыу къыпщхьэщыувэн папщIэ. Лир ЖьэражьэкIэ пэрыIэбэкIэ сэром ХыреутIыпщхьэ мафIэм а нэжэсхэр. Эдгар Си щIыбым бзаджэнаджэ къедзэкъащ. Шутым Акъыл ныкъуэр зыхуэдэри! Дыгъужьыр зэрыIэсэр, шыкIэ сондэджэрым и напэр, щIалэ цIыкIум и лъагъуныгъэмрэ щIасэлI имыIэу мыпсэуфынум и тхьэрыIуэмрэ зи фIэщ хъур – мис апхуэдэращ акъыл ныкъуэр зыхуэдэр. Лир Ирехъу апхуэдэу! Суд ятетщIыхьынщ. (Эдгар жриIэу) КъэтIыс мыбдеж. Уэ хыбощIыкI суд Iуэхум. (Шутым жриIэу) КъэтIысыт мыдэ, Iущыцэ. Фэзгъэлъагъуни бажэхэ. Эдгар Плъагъуркъэ ар ней-нейуэ зэрахэплъэ. Суд пащхьэ ущитым деж уи напIэр тIэкIу едзых уэри, гуащэ! КъисыкI псыIэрышэми КъакIуэ си деж, Бесси! Шутым ТIэкIу гъуанэщи Бесси и кхъуафэжьейр, Мэшынэ, мэукIытэ икIи мэгужьей. Эдгар Том тхьэмыщкIэ и тхьэкIумэм бзаджэнаджэ къофие. Абы и ныбащIэм Голденс къыщофэ – къэхь селедкэ, къэхь селедкэ – жиIэурэ. ЗэщIэпIэ, бзаджэнаджэ, уэстынукъым зыри. Кент Уи Iуэху тэмэмкъым, зиусхьэн. ТIэкIу гъуэлъи зыгъэпсэху, зыщIэдзи щхьэнтэ. Лир ЩIэддзэнщ ди судым. Щыхьэтхэр фыкъыдэкI. (Эдгар жриIэу) СудыщIэ фащэр пщыгъыу тIысыт уэри! (Шутым жриIэу) Къэтэджи уэри бгъурытIысхьэ. КIуэ. (Кент жриIэу) Мыбдеж къэтIыс, уэ, присяжнэ заседатель. Эдгар Хьэрэм дымышхыу етхьэкIынщ мы Iуэхур. Iэхъуэ цIыкIур умыжей, Хьэм хыхьащ Iэхъушэр. Уи бжьамийхэр къэгъэпIейтей, Iэщхэр къыхэпхужу. Нау, нау! Мы джэдуущхъуэри! Лир Абы – Гонерилье – псом я пэу деупщIынщ. Мы лIыфIхэм я пащхьэ ситу Тхьэ соIуэ, ар къелъэпауэри и адэр, пащтхыхь тхьэмыщкIэр, къыщIихуауэ. Шутым КъэкIуатэ, зиусхьэн гуащэ! Гонерилье уи цIэр? Лир Хьэуэ жиIэфынкъым. Шутым Къысхуэгъэгъу, Тхьэм щхьэкIэ. Уэ тетIысхьэпIэу укъысфIэщIат. Лир Адрейри месыр – хуэнэбгъузэрыплъэрэ ЗэрынапитIым ар и щыхьэт наIуэу. Фубыд! ФыщIэпхъуэ! Iэщэ! Фочыр! МафIэ! Мы судыр къэщэхуащ, судыщIэ бзаджэ! ФызэгурыIуэу щхьэ щIэвгъэпхъуэжа! Эдгар Тхьэм къихъумэ уи акъылыр. Кент Шынагъуэщ мы слъагъу псори, зиусхьэн, ЗдэкIуэжыр дэнэ уэ уи акъыл нэхур?! Эдгар (ЛъэныкъуэкIэ) Сэ гущыIэншэу нэпс зэрыщIэзгъэкIым СыкъыщIигъэщыпэнкIэ сошынэж. Лир ХьэмаскIэ псори – Греи, Бланши, Мили, Фыкъаплъэт – къызэжахэу къызобэн. Эдгар Том и щхьэр яхиутIыпщхьэнщи сыкъащIэнщ. ЗыIуевгъэхыт псынщIэу. УхьэфIыцIэми, ухужьми, УпщIэунущ – щIы уи фIэщ – Том укъызэрырихужьэу, ХьэпщIо жэр, мэлыхъуэхьэжь, Си хьэджафэ, си щакIуэхьэ, Си спанелу – хьэ цы топ. И щхьэр пичрэ къыфхиутIыпщхьэм, Къэвгъэгубжьмэ, хуабжьу Том ТIумпIэ-тIэрэхъпэ, тIумпIэ – тIэрэхъпэ. НакIуэ бэзэрхэм, накIуэ жэрымыкIэхэм, щихъхэм я кхъащхьэхэм накIуэ. Факъырэ дыдэ ухъуащ. Том, хъыбий Iеи ищIащ ди къэлътмакъыр. Лир СудыщIэ! Сэ къызолъытэ Реганэ и Iуэхум дохутыр хэплъапхъэу: сыт и гум къыщыщIар? Сыт мывэу щIэжар? (Эдгар зыхуегъазэри) Уэ, зиусхьэн, си уэркъхэм ящыщ зыуэ узигугъащ. Ауэ сигу ирихьыркъым сэ уэ узэрыхута щытыкIэр. А пщыгъыр перс фащэу жыпIэнкIи мэхъу. ЗэхъуэкIын хуейщ арами. Кент ЗегъэщIи зыгъэпсэхут, зиусхьэн! Лир ФымыIэуэлъауэ. ЕфлъэфэкI Iупхъуэр. Тэмэм, мис апхуэдэу. Пщэдей дыкъызэрытэджу пщыхьэщхьэшхэ тщIынщ. Армыраи хабзэр. Шутым Сэ шэджагъуэм сыжеину сыгъуэлъынщ. Глостер къегъэзэж. Глостер Мыдэ къакIуэ, тIасэ. Дэнэ щыIэ пащтыхьыр? Кент Нэхъ хуэму. Мис пащтыхьыр.Зэ1ыхьащ. Глостер Зумыгъэгувэу IэплIэкIэ къэIэт. Сэ зэхэсхащ абы къыхузэIуащэр. Носилкэ щытщ мобдежым, тевгъэгъуалъхьи – Фхьы псынщIэу Дувр. Абы къыщыпэплъэнущ. ПсыщIэIуэу щIэфх. Зы напIэзыпIэ закъуэр ПсэзэпылъхьэпIэу къыщIидзынкIэ хъунущ – Абы и дежкIи дэркIи. ИIэ, къафщти Си ужьым фит. ХъумакIуэхэр хьэзырщ. Кент Мэжей, езэшри куууэ хилъэфауэ. ЗыщIигъэпсахуэу къыщызэщыужкIэ Къэушыжамэ арти сэкъатыншэу. (Шутым жриIэу) КъыддэIэпыкъут зиусхьэныр тхьыну. ЗыкъыткIэрумыгъэху! Глостер ФыпащIэ, иIэ! Кент, Глостер, шутыр йокIхэ, Лир ирахри. Эдгар Бэлыхьыр ди нэхъыжьхэм къатепсыхэм, Ди лажьэр тщыгъупщэжу дохъур гухэ. Бэлыхьыр нэхъ гуащIэжу къыптохьэлъэ, Зи ныбэ из щхьэхуэфIхэм уаныхэплъэм, Уи гуауэр къыбдиIэту къуэш ущиIэм Нэхъ пщхьэщокIуэтыр уэ узыгъэгуIэр. Сэ стелъ бэлыхьыр късщыхъуащ нэхъ псынщIэ, Пащтыхьым и гуауэшхуэр щызэхэсщIэм. Абы и быным лей кърах. Сэ – сядэм. ТIэкIу зыхуэгъэшэxыж, Том, зыгъэбыдэ. КъыщIэбгъэщIауэ пцIы къыптралъхьар уэ, Уи фащэр къэпхъуэжынщи – хуиту бауэ. Иджы – пащтыхьыр къедгъэлынырщ Iуэхур, Аращи, Том, иджыкIэ зыущэху уэ. (ЙокI) Ебланэ теплъэгъуэ Глостер и быдапIэм хэт пэшхэм ящыщ зым. Герцог Корнуэл, Реганэ, Гонерилье, Эдмонд, IуэхутхьэбзащIэхэр къохьэ. Герцог Корнуэл Уи щхьэгъусэм деж псынщIэу кIуэжи мы письмор егъэлъагъу. Французхэр дзэуэ къитIысыкIащ. Къэвгъуэтыт Глостер епцIыжакIуэр. IуэхутхьэбзащIэ зыбжанэ йокI. Реганэ ИкIэщIыпIэкIэ и щхьэр пыфлъэ. Гонерилье И нитIыр къифтхъ. Герцог Корнуэл Мыдэ сэ къысIэрывгъыхьэ. Ди шыпхъур и щхьэгъусэм деж нэгъэсыж, Эдмонд. КуэдкIэ нэхъыфIщ умылъагъуныр уэ уи адэ епцIыжакIуэм тетлъхьэну тезырыр. УзыхуэкIуэ герцогым Iэмал зэриIэкIэ нэхъ псынщIэу и цIыхур зэщIигъэшэсэну чэнджэщ зэреттри тхужеIэж. Дэри зыдгъэхьэзырынщ. ДызэрыщIэу, ди хъыбар щIэх-щIэхыу зыIэрыдгъыхьэу щытын хуейщ. Узыншэу, ди шыпхъу лъапIэ. Узыншэу, граф Глостер. Освальд къыбгъэдохьэ. Уэра мы слъагъур? Къэбгъуэта пащтыхьыр? Освальд Ар Глостер дэIэпыкъури щIэпхъуэжащ. Пащтыхьым щIыгъущ иджыри и шу гъусэу ЦIыху щэщIрэ тхум нэблагъэ. Нэху щыхун Абыхэм Лир къалъыхъуэу къаущыхьри Куэбжэпэ дыдэм деж щыхуэзэжащ. А гупым графым щIыгъухэм зыщIагъужри Дувр кIуэуэ щIэпхъуэжахэщ. ЖаIэр пэжмэ Абыхэм дзэшхуэ къащыпоплъэ Дувр. Герцог Корнуэл КъефшалIэ гуащэм ишхэр. ИIэ, псынщIэу. Гонерилье ФIыкIэ, си шыпхъу. Узыншэ дыдэу – герцог! Герцог Корнуэл Узыншэу, Эдмонд. Гонерилье, Эдмонд, Освальд йокI. Къэвгъуэти икIэщIыпIэкIэ А Глостер щIэпхъэджащIэр фщIы Iэпхлъэпх. Къысхуэфшэ мыдэ. Адрей IуэхутхьэбзащIэхэр йокI. Пэжщ, хабзэншэ ар Дэ тщIауэ жедгъэIэнкъым. Куэдщ Iэмал Ди бампIэр Глостер иритеткъутэну. Нэхъ хуэфэщэну зы къыхэтхыфынщ. Уэра ар! IуэхутхьэбзащIэхэм Глостер я гъусэу къагъэзэж. Реганэ Плъагъуркъэ бажэ кIэ фIеижьыр. Герцог Корнуэл И Iэ гъужахэр нэхъ быдэIуэу зэфпх. Глостер ХьэщIагъэу ныфкIэлъызесхьам къыпэкIуэу Фэ лей сэ къызэфхыныр Герцог Корнуэл Фпхы вжесIакъэ! (Глостер IуэхутхьбзащIэхэм япх) Реганэ Апхуэдэукъым. Нэхъ быдэу, Нэхъ ткIийуэ зэкIуэцIыфпхэ а напэншэр. Глостер А жыпIэр пэжкъым. Сэ схъумэжащ си напэр, Уэ псэ уиIэжкъым, пкIуэцIылъыжкъым гу. Герцог Корнуэл Шэнтиуэм ифпхэ! СыкъэпщIэнщ мыгувэу Уэ епцIыжакIуэм! (Реганэ Глостер и жьакIэм къокъу). Глостер Я дэ ди Тхьэ! Плъагъурэ ЛIыжь жьакIэ зэрафыщIыр? Реганэ Хужьщ и жьакIэр, ИтIани и бгъэ фIейм бажэгур илъщ. Глостер ЦIыхубз напэншэ! А пфыщIа си жьакIэр Ди суд ящIэнум къыщагъэлъэгъуэнущ! ХьэщIагъэ фэсхыу сэ щхьэегъэзыпIэ Зэрывэстам къыпэкIуэу нэджэIуджэ СыфщIыну сыт си ужь фыкъыщIихьар? Герцог Корнуэл Къатхауэ францхэм мы махуэ блэкIахэм Уэ письмо дапщэ къыпIэрыхьар? Реганэ КъыджеIэт. Дэ псори дощIэ. Герцог Корнуэл ЖыIэ умыбзыщIу. Ди бийхэм фэрэ сыт зэвухылIар? Реганэ КъыджеIэ, дэнэ здэвгъэкIуар пащтыхьыр? Глостер Бийм къатхыу сэ письмо къысIэрыхьакъым, КъысIэрыхьар къэзытхыр си ныбжьэгъущ. Герцог Корнуэл Хэт уэ къэбгъапцIэр? Реганэ Пэжкъым, зэхыбоджэ. Герцог Корнуэл Пащтыхьыр, жыIэт, дэнэ здэбгъэкIуар? Глостер Дувр згъэкIуащ. Реганэ Уебакъуэу тщIа унафэм? Герцог Корнуэл КъыдгурыгъаIуэ Дувр щIэбгъэкIуар. Глостер Сэ сыIэпхлъэпхщ. КъызэфщIэ сыт фыхуейми. Реганэ Сыт Дувр щIэбгъэкIуар? ЩIэдуврыр сыт? Глостер Сыхуейтэкъым слъагъуну хьэкIэкхъуэкIэм ЛъэбжьанэкIэ къиптхъыжу уядэм и нэр. Сыхуейтэкъым уи шыпхъум кхъуэпIащэдзэр Пащтыхьым щыхиукIэм саIуплъэну. Жэщ кIуам мы ди щIым щхьэщыта борэныр Езы тенджызми хуэмышэчыжу Блынджабэм хуэдэу къызэфIэувауэ, Тхъурымбэр вагъуэхэм яжьэхиутхэрт. Апхуэдэ жэщым фи адэр – мо лIыжь щхьэпцIэр – Зеиншэ хъуарэ жьапщэм кърихуэкIыу, И нэкIу зэлъахэм къытелъалъэ нэпсым Къыщригъэуду пшэхэр сэ слъэгъуащ. Апхуэдэ жэщым уи куэбжэпэм деж Дыгъужь къыщыкъугъамэ, куэбжэр Iупхыу, Къыдэбгъэхьэным, дауикI, псапэ пылъщ. Сыт хуэдэ губжьри, сыт хуэдэ бзаджагъи ГущIэгъум хуеплъэкIыпхъэу жэщ хьэлэчт! Уэ пхуэдэ бынхэр щыблэм щис меданыр Слъагъунущ сэ си нитIкIэ: мыжыжьэж! Герцог Корнуэл Плъагъунуи? ИгъащIэкIэ плъагъункъым! Шэнтиуэр быдэу фIыгъыт! Си лъакъуитIкIэ А уи нэжьитIыр сэ пхуиспIытIыхьынщ. (Глостер и нэхэр къретхъ) Глостер Жьы зэрыхъунум егупсыс щыIэжрэ – Хьэтыр фиIэххэмэ – фыкъыздэIэпыкъу. Реганэ Адрейри къитхъ, къиптхъам щIэмынэкIэну. Герцог Корнуэл Плъагъуну, жыIэт? Япэ IуэхутхьэбзащIэм Ехьэхыт, зиусхьэн, А уи Iэр. Сэ игъащIэм сыпхуэпэжщи, Мыращ пэж дыдэр – зыщIэгупсысыж. Реганэ Сыт жиIэр хьэм? Япэ IуэхутхьэбзащIэм Зэтебэяут уэри. Уэ, бетэмал, цIыхухъуу узиIамэ, Жэуапыр уи жьакIэпэм естыжынт. Герцог Корнуэл Сыт жиIэр унэIутым! (Джатэр кърех) Япэ IуэхутхьэбзащIэм Джатэр фIыщ Къуаншагъэм пэув губжьым къыщиIэткIэ. (Джатэр кърех, зихъумэжурэ, Корнуэл еуIэ) Реганэ (Адрей IуэхутхьэбзащIэм зыхуигъазэу). Къызэтыт джатэр! Хэт зыпэувар? ЩIэкIуатэ (Реганэ етIуанэ IуэхутхьэбзащIэм и джатэр кърехри япэм и щIыбым хехуэ). Япэ IуэхутхьэбзащIэм СыIуапIащ, граф. Исщ уи зы нэр – Къеплъ, графым къыщIэкIуакъым уэ къыуищIар. (МалIэ) Герцог Корнуэл Ущымыгугъыт узыщымыгугъын! Бзэх зызумыгъэлъагъуу, ткIуаткIуэ фIей, Си нэгум щIэкI! Си Iуэхущ уэ улыдыжмэ! (МэIэбэри Глостер и нэ къэнари къретхъ). Глостер КъыстрагъэункIыфIакъэ си дунейр! Си Эдмонд, лъагъуныгъэу уигу къысхуилъыр МафIэшхуэу къэгъэлынди силъ схуэщIэж. Реганэ Пхуэфащэкъым уэ къипIуэххэну и цIэ А пщIым зи гугъу. Ар дыдэращ уэ гъуамэм Уи Iуэху зытетыр къыдэзыгъэщIар. Ар къытхуэпэжщ дэ, хуэпэжыжщ и щIыхьми, Зэмани иIэкъым уфIэгуэныхьыну. Глостер О, сыту мыгъуэ Iейуэ сыщыуат! Эдгар пцIы кIэралъхьащ. Дыунэхъуащ. О, тхьэхэ, къысхуэфхъумэ си Эдгар. Реганэ ЩIэфху адэ! Хуеймэ пэкIэ кърегъуэт Дувр хуэкIуэ гъуэгур. Сыт, зиусхьэн, уи лажьэр? Герцог Корнуэл Сыхъуащ уIэгъэ… ФыкъыздэIэпыкъуи ФынакIуэт. ЩIэвгъэувыкI хьэфизыр щIыбым. УнэIут лIар фхьы куэншыбыжь идзыпIэм. Насып диIэххэм сщIэкIынкъым лъыуэ куэд. Сыт щыIэт нобэ нэхъ дызыхуэмей СыкъауIэным. Къащтэ мыдэ уи Iэр! Реганэ къадэIэпыкъуурэ йокI. УнэIут зыбжанэм Глостер къатIатэри щIаш. Ещанэ IуэхутхьэбзащIэм Дунейм жьы хъухукIэ апхуэдэпхъур Бзылъхугъэм я пIэ къиувэнщ хьэпщхупщхэр. ЕтIуанэ IуэхутхьэбзащIэм Хьэфиз ящIащ, и ужьым дивгъэуви Том делэжь цIыкIум гъусэ ныхуэдвгъэщI – Нэхъ IэпэгъуфI абы имыгъуэтын. Ещанэ IуэхутхьэбзащIэм Зэрыхуапхэн уIэгъэр, хутралъхьэн Къыхуэзгъуэтынщ сыкIуэнщи граф тхьэмыщкIэм. ГущIэгъу къыхуэщI – я ди Тхьэ – Унэхъуащ! Iупхъуэ ЕплIанэ акт Япэ теплъэгъуэ Губгъуэм Эдгар къохьэ Эдгар Пудауэ упсэуныр нэхъ къозэгъ Утыку ущитым деж къыпщыгуфIыкIхэр Уи щIыб къызэрыбгъазэу къыпщIэнакIэу Ауану укъытенэ нэхъ дунейм. Зи гъащIэр дэхуэхуар дапщэщми зэ ЗыкъиIэтыжыфынкIэ гугъэ хъунущ. ДжэлэнкIэ мышынэжу. Хуейр шынэн ЛъагапIэм тетхэрщ зигу къикIэзызыкIыу, ЩIумычэ, жьапщэ! Мы си гъащIэр уэ Сабаем хэпкухьынкIэ сышынэжкъым Хэта ар? ЛIыжь гуэр къохьэ Глостер и Iэпэр иIыгъыу. Си адэращ. Сыт гъэщIэгъуэн – Iэпэгъуи щIыгъуу. О, дунеижь хьэху, Мыгъуагъэу уэ мы ди плIэм къибгъэзагъэм ЛIэныгъэр зы тынш гуэру къыпщегъэхъу. ЛIыжьым Зи щIыхь ин граф, нэсауэ илъэс пщIей Уи адэм уэрэ фищI сытолэжьыхьыр. Глостер Зумыгъэунэхъуж си ныбжьэгъужь, Си Iуэхур зэфIэкIащ сэ зэрыплъагъущи. ЛIыжьым Уэ дауэ мыгъуэ гъуэгур къэбгъуэтын? Глостер Сэ гъуэгу сиIэжкъым, нэикI сыхуеижкъым, Си нитIыр щисым пхэнжу сыбэкъуащ. Дэ ди къару илъыгъуэм дощхьэрыуэ, Мыгъуагъэм ди псэр тхуиубзыхужыху. Си Эдгар мыгъуэу, адэ къагъэпцIам И губжь – мафIаем ирихужьа щIалэ! Зэ закъуэ уи щхьэм Iэ ныдэслъэжамэ, Си нитIыр, Тхьэм ирещIи, къэплъэжынт. ЛIыжьым Хэт ар? Эдгар (ЛъэныкъуэкIэ) О ди Тхьэ, сэри сымызахуэт! Бэлыхь и бэлыхьыжыр къыстехуат ЩыжысIа махуэм. Мисри бэлыхь лажьэ! ЛIыжьым Мис Том тхьэмыщкIэ. Эдгар (ЛъэныкъуэкIэ) ЩыIэщ нэхъеижи. Тхуэмышэчыжу жытIэу дыщыщэIуми, Къытхуонэ дэ зы къару гъэпщкIуа гуэр. ЛIыжьым УздэкIуэр дэнэ, тIыкIуэ? Глостер Ар факъырэ? ЛIыжьым Факъырэу къэмынэж – зэIыхьа гуэрщ. Глостер И Iуэху а зэрыжыпIэу мыхьэлэч – Ишхын къыхуэгъуэтыжмэ. Сэ дыгъуасэ СыщыIууащ борэным мыбы ещхь. Мыпхуэдэ цIыхур хьэмбылу пэлъытэщ – Сегупсысат сэ а тэлаим. СщIэркъым Абы къыдэкIуэу сигу къыщIэкIыжар Хьэрэм сщIа си къуэр. Джэгуэн ящIа бадзэм И дамэр зэрытрачым хуэдэу цIыкIухэм Ди дамэр фIэфIщ ди Тхьэшхуэм ифыщIын. Эдгар (ЛъэныкъуэкIэ) АтIэ иджы щэ? Мыбы телъ бэлыхьми Уэ пшэч бэлыхьми ущымыгъуазэу КъызыфIэгъэщIи щыт мыбдеж шут щIыкIэу. Глостер Хъарыпыр IэпщIэлъапщIэ? ЛIыжьым Щыгъыныджэщ. Глостер АтIэ тхьэмыщкIэм щедгъэтIэгъэн гуэр Къытхуэхьыт умыщхьэхыу къытхуэгъуэти. Дувр кIуэ гъуэгуми ныщытлъэщIыхьэж, Мыр гъуэгугъэлъагъуэу есшэжьэн си гугъэщ. ЛIыжьым Мы зыхухэтри. Глостер Мы плъагъур, мис мы дыдэр. Хьэфизхэр ныкъуэделэхэм я пашэщ. Мы ди зэманым. СыныщIолъэIуар СхузэфIэгъэкIи уэ уи гъуэгур занщIэщ. ЛIыжьым Си нэхъыфIыIуэмкIэ зыкъезгъэхуэпэнщи Ирехъу зэрыхъуу. (ЙокI) Глостер Зэхэпха, хъарып? Эдгар МэпIыщIэ Том. (ЛъэныкъуэкIэ) ФIэкIа схуэмыхьыжыну. Глостер Уэ мыдэ къакIуэт. Эдгар Умышэчуи хъурэ? (Ину) Ирепсэуж лъызащIэ уи нэщIащэр. Глостер Уэ пцIыхуу пIэрэ Дувр кIуэ гъуэгужьыр. Эдгар Лъэс лъагъуи, шыгу гъуэгуи, лъэмыжи, псы щIэжи. Том тхьэмыщкIэ шынэуз къефыкIащ, зэIыхьа мыгъуэщ, исыкIащ. Тхьэм бзаджэнаджэм уащихъумэ, фIыр зи натIэ. Том тхьэмыщкIэ жын фIыцIэу пэшэгъуитху иIащ. ОбидикуткIэ зэджэм къэхьпакIуэ урихужьэрт, Хобидиданс бзагуэ уищIырт, Махыу – уигъэдыгъуэрт, Модо – лIы уигъэукIырт, Флиберти – Джиббет зыкъыпхузэкIэщIишурэ уигъэбампIэрт. Том зэрыкIэрыхужу ар ящишащ модэм къыкIэлъызыжыхь бзылъхугъэхэмрэ унэIут цIыхубзхэмрэ. Уи дуней дахэ ухъу, цIыху пщхьэпэ. Глостер Мэ къащтэ си ахъшалъэр, Тхьэр зэуа! Сэ стелъ бэлыхьым ирещI ууейр нэхъ мащIэ. Щрехъу ар уи щIым хабзэ, ди Тхьэу лъэщ, Ныбэизыгъэр къызытекIуа псори Уэ уи Iэмырым къызэщигъэужрэ Мылъку леймкIэ дэгуашэфу хъуам хъарып. Яхурикъунут псоми я зэхуэдэу Уэ Дувр укIуагъэххи? Эдгар Мызэ-мытIэу. Глостер Абы унэмысыпэу тенджыз папщэм Нэщхъейуэ къыхуеплъыхыу къыщхьэщыт Къырыжь шынагъуэм дэкI лъагъуэмкIэ сыдэпшмэ, Си тыгъэр уи Iэрылъхьэщи – гъуэгу махуэ! – Дызыхуэарэзыуэ ущхьэхуитщ. Эдгар Къэхь уи Iэр. Том тхьэмыщкIэ уишэфынщ. (ЙокIхэр) ЕтIанэ теплъэгъуэ Герцог Альбани и быдапIэм и бжэIупэрщ. Гонерильерэ Эдмондрэ къохьэ. Гонерилье Къеблагъэ, граф! СилI – мамырыгъэщIэкъур КъызэрыпIумыщIар сфIэгъэщIэгъуэнщ. Освальд къохьэ. ЗдэщыIэр дэнэ уи зиусхьэныр уэ? Освальд Мыбдейхэм деж. КъыпхуэцIыхужкъым. СщIэркъым. КъитIысыкIащ дзэ – жысIэм мэдыхьэшх. Уэ укъэкIуэжу, гъуэгу утету жысIэм - Ар нэхъ Iеижщ – къызжеIэри йожьэж. Я гугъу щыхуэсщIым Глостер зэдэзэкъуэм – Зыр къызэрыдэпцIыжам, адрейм и лIыгъэм Уделэщ – жиIэри къысщыдыхьэшхащ. ХуэпIуатэм хъыбарыфI - ар мэхъу нэщхъей, ХуэпIуатэм хъыбар Iей – нэхъ щогуфIыкI. Гонерилье (Эдмонд жриIэу) АтIэ армэ – уныщIэмыхьэххэ, Мо пыпхэм щхьэкIэ дгъэкIуэдын зэман? БощIэж гъуэгуанэм щызэдухылIар. Корнуэл деж гъэзэж зумыгъэгувэу, Дзэм папшэ зыхуегъэщIи къэгъэзэж. Бгъэдырырес щхьэгъусэр щэкIзэIущэм. Къэсщтэнщ сэ джатэ. Уэрэ сэрэ дяку Мыбэлэрыгъыу дэтынщ си IуэхутхьэбзащIэр. ЗигъыIи лIыгъэ – уи псэр зыщIэхъуэпс Бзылъхугъэм и гур уэ пхузэIуихынщ. Мис мыри уи данлъэчщ гум къыбгъэдэкIыу. (Лент ирет) Мы ныпхуэсщI бар псэлъэфу щытыгъамэ, Уэ уи псэр уэгум иригъэлъэтэнт. Узыншэу! Эдмонд СыпсэухукIэ уэ сурейщ. Гонерилье Си Глостер лъапIэ! Эдмонд йокI. Зэгъапщэт уэ иджы А цIыхухъуитIыр. Мыбы худэхьэхынщ Дэтхэнэ зы цIыхубзи. Сэ сызейм Мы дунеишхуэм сытыр щипэрмэн? Освальд Си гуащэ, мес къокIуэжыр зиусхьэныр. Освальд йокI. Герцог Альбани къохьэ. Гонерилье Сэ сыхьэ, нэмыс гуэри схуэмыфащэу? Герцог Альбани Жьым къыптрихьэ сабэм уриуасэкъым Уэ, Гонерилье. Шынагъуэщ уегупсысмэ. И къуэпсым сытри хуоплъэкIыж: зимыIэр Псы лъэпкъ зыщIэмытыж къудамэу мэгъу. Гонерилье А къыубжым къикI уи гугъэ хъунщ зыгуэр. Герцог Альбани Къызэриухуэрэ – хьэлэл хуэмей хьэрэмхэр, Я фIейр яфIэIэфIыжу гъащIэр яхь. Фэ фщIар зищIысыр фэ къаплъэныбзхэм фщIэжрэ? Нэмыси пщIэи зыхуэфащэ фядэр И жьыщхьэ делэ фщIыри фежьэжащ. Апхуэдиз мылъку а лIыжьым зрита Си малъхъэгъу герцогым ар сыту къыфхуида? Фи щIэпхъаджагъэм хуэфащэ къылъымысмэ, КъэкIуэнщ зэман – вжызоIэр сэ – къэкIуэнщ Тенджызым хэс хьэпщхупщхэм ещхьу цIыхуми Зым и лыр зым ишхыжу. Гонерилье Хыбогъэгъуащэ щIыхьым напэншагъэр. Уэ фызыпхъэжьу, зи нэкIум Iэгу къилэжьым, А уи щхьэр къыщIалъхуар вэщхъунуращ. Зи щIэпхъаджагъэр щхьэпылъапIэм екIу БзаджащIэм зигу щIэузхэр щхьэгъэузхэрщ. ГуфIэгъуэ марш къигъэкI уи бэрэбаным, Уи губгъуэхэм щохуарзэ – мес франц ныпхэр, Зи пыIэ щIыгу къабзийр щыджэгу зауэлIхэр Уи хэкур яутэну къилъэдащ. Уэ щыс, плъагъу псори зыхуэбгъэщIэгъуэжу – Уэ мелыIычыр. Герцог Альбани ШейтIаныр пщегъэгъупщэ Ер зиг ум илъ бзылъхугъэ къэгубжьам. Зэплъыжыт фIыуэ. Гонерилье Къибжхэр сыт щхьэгъавэм. Герцог Альбани Апхуэдэ дыдэу сыт сэтей къыщIэпщIыр А уи гум щыныкъуакъуэ хьэкIэкхъуэкIэр. Зыгуэр къепхъух уи нэкIум. Си Iэр хуит Сэ сщIыну мы си напэм къезгъэкIуамэ, Уи къупщхьи уи ли пхузэпкъырыстхъынт. Уэ сыт хуэдизу умыбзаджэнаджэми, ИтIани уцIыхубзщи… Гонерилье Л1ыгъэ пщIащ. (ХъыбарегъащIэр къожэ). Герцог Альбани Хъыбар сыт щыIэ? ХъыбарегъащIэм ЩыIэр, зиусхьэн – Корнуэл графыр щыIэжкъым. Глостер и нэ ЕтIуанэр къыхуритхъыну щыпхъуэ дыдэм И унэIут губжьам иукIыжащ. Герцог Альбани Сыт жыпIэр? Глостер и нэр? ХъыбарегъащIэм ЩIэпхъаджагъэ И зиусхьэным илэжьар хуэмыхьу Зи джатэр къизыха и унэIутыр ЩиукIым герцогыр езыри къиуIащ, КъызэриуIэу куэд дэмыкIыуи лIащ. Герцог Альбани ХьэкIэкхъуэкIагъэ зылэжьхэр щыхагъащIэкIэ, Иджыри тхьэхэм захуагъэр яхъумэф. Глостер тхьэмыщкIэ сытым тет и Iуэуху? – Нэф графыр? ХъыбарегъащIэм Нэфщ и нитIри. Хьэфиз къабзэщ. Уи шыпхъум къыпхузигъэхьа письмощ мыр, Жэуап нэхъ псынщIэу къызегъэт жиIащ. Гонерилье (ЛъэныкъуэкIэ) Ар – зи чэзут. Зи мычэзур нэгъуэщIщ, Фызабэщ шыпхъур. Абы и гъусэщ Эдмонд – Си мурадхэр щэщэжынкIи хъунущ. (Ину) Седжэнщи псынщIэу хуэстхыжынщ жэуапыр. (ЙокI) Герцог Альбани Нэф ядэр щащIым, дэнэ щыIа Эдмонд? ХъыбарегъащIэм МыбыкIэ къакIуэрт и гъусэу уи щхьэгъусэр. Герцог Альбани Ар мыбы щыIэкъым. ХъыбарегъащIэм НэкIуэжу сыхуэзащ. Сэ сыкъыздэкIуэм. Герцог Альбани И адэм къращIам Щыгъуазэу пIэрэ? ХъыбарегъащIэм Езым яригъэубыдри – ЯлIынуи хуит яхуищIри къежьэжащ. Герцог Альбани Сэ быдэу укъызогъэгугъэ, Глостер, Пащтыхьым папщIэ нитI зэрыхэплъхьар Сигу илъу сыпсэухукIэ сыпкъуэтыну, Хозыгъэлъхьами яхуэзмыгъэгъуну. НакIуи къысхуэIэуэтэжыт нэхъ гъэхуауэ. (ЙокIхэр) Ещанэ теплъэгъуэ Дувр и Iэшэлъашэм щитIысыкIа французхэм я лагерырщ. Кентрэ бейгуэлымрэ къохьэ. Кент Сыту пIэрэ французхэм я пащтыхьым апхуэдизу псынщIэу игъэзэжыныр къызыхэкIар? Бейгуэлым Францым и зэран къызыхэкIынкIэ хъуну къэрал Iуэху гуэрхэр къигъанэри зауэм къэкIуат, арати, имыгъэзэжыуи хъуакъым. Кент Хэт дзэпщу къигъэнар? Бейгуэлым Зиусхьэн Лафар, Францым и маршэлыр. Кент Гуащэр игъэнэщхъеяуэ гу лъыпта ептыжа письмом? Бейгуэлым И нэпсхэр теткIуэу зэджэр иIыгъащ, Къыхигуэпэну къеныкъуэкъу и гуауэр ЗытримыгъэгуплIащэу. Зэрыгуащэр Зы тэлай закъуи зыщимыгъэгъупщэу. Кент И гум хыхьа? Бейгуэлым Хыхьами къэмэхакъым. Абы и гуащIэм гуауэр щеныкъуэкъут Быдагъэу иIэм. Яку дэлъ бэнэныгъэр И нэгум къищу. Дауи, уэ плъэгъуащ Уэшх ткIуэпсхэр дыгъэ бзийхэм ядэпщIыпщIу. Апхуэдэу ари гъуэгырт къигуфIыкIыу. И Iупэр гуфIэрт, и нэм нэпсыр щIэтт Налкъут мыщIитIу. Кент УпщIэ гуэр къыуита? Бейгуэлым КIэзызщ и Iупэри къиIущэщащ: «Ей, шыпхъухэ, шыпхъухэ, ар, гущэ, сыт напэт?! Ди адэр, Кент… Апхуэдэ жэщым. Фэ Зы гущIэгъу гуэри фхэмылъыжура?! Нэпс ткIуэпс къэпщахэр щыхуэмубыдыжым, ДызыщIэт пэшым псынщIэу къыщIэжащ ИгъэтIысыну бампIэр. ЦIыхум и псэр Зыхуэдэм и унафэр щащIыр уафэрщ. Уэ дауи егупсыс: зы адэ-зы анэм Къалъхуауэ мы зэшыпхъухэр фIэщ щIыгъуейщ. Уепсэлъэжа иужькIи? Бейгуэлым Къысхуихуакъым. Кент ЩыIа пащтыхьыр а махуэм. Бейгуэлым Гъуэгу техьакIэт. Кент АтIэ зэгъащIэ: Дувр щыIэщ Лир. Зэм-зэм тхьэмыщкIэм и акъыл къохьэжыр. АрщхьэкIэ и пхъум хуэзэну игу имылъ. Бейгуэлым Сыт, зиусхьэн, хуэзэну щIыхуэмейр? Кент И напэр мэсри къыгурыIуэжауэ Лей ирихар, Iыхьэншэ зэрищIар; Ипхъу цIыхугъэншэхэм и мылъкур яхуигуэшу НэхъыщIэр хамэм къазэрыхинар. УкIытэм тепыIэгуэ къримыт. Бейгуэлым НасыпыфIакъым. Тхьэм гущIэгъу къыхуищI. Кент Альбани, Корнуэл сыт я хъыбар? Бейгуэлым Абыхэм я дзэм мыбыкIэ къаунэтI. Кент Хъунщ. НакIуэ-тIэ иджы. Усшэнщ Лир деж. Фыкъызэбгъэдэзнэнщ. Иджыри сэ Зыкъомрэ зызмыгъэпщкIумэ зэIыхьэнущ. И пIалъэр къэсрэ, зыкъозгъэцIыхужмэ, Абы си гугъэщ ухущIемыгъуэжыну. Аращи – накIуэ. (ЙокI) ЕплIанэ теплъэгъуэ Япэрейм дежщ. Шатыр кIуэцIым. Корделие, дохутырыр, офицерхэр, зауэлIхэр къохьэ. Корделие Аращ ар, зылъэгъуам яIуэтэжащ: Уэрэд кърешыр, зэм хъийм икIыу щIедзэ, Къезауэу и псэр тенджыз борэным хуэдэу. Гуэдз хьэсэм къыхича ежьужь Iэрамэ Ишыхьри и щхьэм фIилъхьэжащ венокыу. Фымыгъэгувэу вгъакIуэ зауэлI гуп. ЩIевгъэпщытыкIи хьэпцIий хьэсэ лъагэр Си адэ мыгъуэр къысхуевгъэгъуэтыж. (Офицерхэм ящыщ зы йокI) Ар и акъылым къизыгъэхьэжын Iэзэгъуэ телъу сщIамэ дунеишхуэм Сэ мылъкуу сиIэр щхьэузыхь хуэсщIынт. Дохутырым Псэхугъуэращ Iэзэгъуэр, зиусхьэн: Удз хущхъуэм и псэр хуащIыжынщ мамыри, И Iэпкълъэпкъ езэшари тыншыжынщ. Корделие Зи берычэтым ди хущхъуэгъуи хэлъ ЩIы анэ дыщэ, си нэм къыщIэж нэпсу Уи псынэхэр къыщегъэуди пщтыру Си адэм и псэм узу къыщыхъейр ХуэгъэупщIыIу. Фылъыхъуэ. ИIэ. ПсынщIэу. Бэлыхьу и псэм дэлъыр къытекIуапэу ЗимыукIыжу сядэр къэвгъуэтыж. ХъыбарегъащIэр къохьэ. ХъыбарегъащIэм Гъунэгъущ британхэм я дзэр, зиусхьэн! Корделие Ар сэри сощIэ. Дэ дыхуэхьэзырщ. Утхъумэжыну уэ, си дадэ дыщэ. Зэхихри си лъэIур франц пащтыхьым, ЗыщIиузадэри хэкум дзэ къисшащ. Сэ щIыхь сылъыхъэу къэзмыгъэзэжа. Дзэ къыщIисшар – сыкъыпщыжынуращ. Зэ сыIувгъаплъэт къысхуэвгъуэтыжи ар! (ЙокI) ЕплIанэ теплъэгъуэ Япэрейм дежщ. Шатыр кIуэцIым. Корделие, дохутырыр, офицерхэр, зауэлIхэр къохьэ. Корделие Аращ ар, зылъэгъуам яIуэтэжащ: Уэрэд кърешыр, зэм хъийм икIыу щIедзэ, Къезауэу и псэр тенджыз борэным хуэдэу. Гуэдз хьэсэм къыхича ежьужь Iэрамэ Ишыхьри и щхьэм фIилъхьэжащ венокыу. Фымыгъэгувэу вгъакIуэ зауэлI гуп. ЩIевгъэпщытыкIи хьэпцIий хьэсэ лъагэр Си адэ мыгъуэр къысхуевгъэгъуэтыж. (Офицерхэм ящыщ зы йокI) Ар и акъылым къизыгъэхьэжын Iэзэгъуэ телъу сщIамэ дунеишхуэм Сэ мылъкуу сиIэр щхьэузыхь хуэсщIынт. Дохутырым Псэхугъуэращ Iэзэгъуэр, зиусхьэн: Удз хущхъуэм и псэр хуащIыжынщ мамыри, И Iэпкълъэпкъ езэшари тыншыжынщ. Корделие Зи берычэтым ди хущхъуэгъуи хэлъ ЩIы анэ дыщэ, си нэм къыщIэж нэпсу Уи псынэхэр къыщегъэуди пщтыру Си адэм и псэм узу къыщыхъейр ХуэгъэупщIыIу. Фылъыхъуэ. ИIэ. ПсынщIэу. Бэлыхьу и псэм дэлъыр къытекIуапэу ЗимыукIыжу сядэр къэвгъуэтыж. ХъыбарегъащIэр къохьэ. ХъыбарегъащIэм Гъунэгъущ британхэм я дзэр, зиусхьэн! Корделие Ар сэри сощIэ. Дэ дыхуэхьэзырщ. Утхъумэжыну уэ, си дадэ дыщэ. Зэхихри си лъэIур франц пащтыхьым, ЗыщIиузадэри хэкум дзэ къисшащ. Сэ щIыхь сылъыхъэу къэзмыгъэзэжа. Дзэ къыщIисшар – сыкъыпщыжынуращ. Зэ сыIувгъаплъэт къысхуэвгъуэтыжи ар! (ЙокI) Еханэ теплъэгъуэ Дувр и Iэшэлъашэрщ. Глостеррэ мэкъумэшыщIэу хуэпа Эдгаррэ къохьэ. Глостер Дапщэщ дыщынэсынур а къыр щыгум. Эдгар ДыдокI. ЗэхэпщIэркъэ. Нэхъ задэ мэхъу. Глостер Мыбдежыр тафэ си гугъати. Эдгар Хьэуэ. ЩыхупIэщ. Тенджыз папщэр зэхыумыхыуи?! Глостер Зэхэсхыркъым. Эдгар Тхьэмадэр уащIри нэф, Нэхъ мащIэ уи зэхэщIэри хъуагъэнущ. Глостер ПэжынкIи хъунщ. Уи макъми зихъуэжащ, ИкIи уопсалъэ нэхъ зэхэщIыкIыгъуэу. Эдгар Ущоуэр. Сэ схъуэжар щыгъыныращ. Глостер Нэхъ щабэ хъуащ жызоIэ уи псэлъэкIэр. Эдгар ЖыхуэпIа къырыр мисыр, зиусхьэн! Шынагъуэщ уеплъыхыныр мы щыхупIэм. Ди щIагъым щызолъытэ къуаргъи, къуанщIи, Мыбдеж уиплъыкIмэ цIыв хуэдизу плъагъуу! Къыр нэкIум и курыкупсэм хъарып гуэр Зреупсей нащэгъэфIэIу къифыщIу, Емынэм кIэрихуа! Уеплъыхмэ, мес Ар зы цIыхущхьэ закъуэу нэм къыIуедзэ. Еплъых адкIэIуи – бдзэжьеящэ гуп Къажыхьыр ещхьу дзыгъуэ зэрыбыным. Хъурзэхэр езыдзыха мо кхъухьышхуэр Мыбдеж утетмэ кхъуафэжьей къыпщохъу. КъыпфIощIыр къунтхыу кхъуафэжьейхэр уеплъмэ. Толъкъунхэр къоджэбауэ мывэ джейхэм, Дытетщ лъагэIуэуи я макъыр зэхэдмых. Дыбэлэрыгъмэ дгъэуназэу ди щхьэр Делъэтэхыным зыри хуэмыIуа. Глостер Сэ сыгъэувыт а уздэщытым деж! Эдгар Къэхь уи Iэр. Мис щыхупIэр. Мы дунейм Телъ хъугъуэфIыгъуэмкIэ сахуэмыбэкъуэнт. Глостер СутIыпщ. Мэ – къащтэ. Мыр нэгъуэщI ахъшалъэщ. Уэстам хуэщI гъусэ. Мывэ лъапIэ дэлъщ. Тхьэм насыпыфIэ уищI, щIалэфI, IукIуэти, УзэрыIукIуэтар си фIэщ сыгъэщI. Эдгар Узыншэу, зиусхьэн. Глостер Узыншэу, тIасэ! Эдгар (ЛъэныкъуэкIэ) Елъа къыфIэщIрэ зыщIэгупсысыжу Ар згъэхъужынырщ си мурадыр сэ. Глостер (Лъэгуажьэпэ зрегъауэри) О, ди тхьэ лъапIэхэ, сэ си жэрдэмкIэ СыхокI мы гъащIэм фэ фи Iизыныншэу. Бэлыхьу стелъыр псэм къытемыхьэлъэу Сэ гъащIэ гъуэгум щысхуэхьыну сщIамэ, ГъащIэ уэздыгъэр ункIыфыху згъэблэнт Езыр-езыру. Тхьэхэ, сыволъэIу. Эдгар псэуххэмэ фи гущIэгъу хэвмын. (КъызэфIоувэж) Эдгар СыIукIуэтащ. СокIуэж. (Глостер япэкIэ малъэри абдеж дыдэм щохуэхыж) Iуэху джэгукъым ар – зыбукIыжын мурад Иплъхьарэ уи гум щыхупIэм укъелъапэу КъыпфIэщIу уджэлэнри. Бетэмалу Зэгуэудыни уи гур. Мес еупщI – Си Iуэхущ и фIэщ елъауэ мыхъужами! (И макъыр ехъуэж) Хъуащ и чэзу укъызэщыужыну. (ЛъэныкъуэкIэ) Джэгуншэу илIыкIынкIи хъунти ар. Къызэщоужыр. Уэ ухэт? Глостер Щыгъэт. Хуит сыщIи си псэм сыпыгъэкI жызоIэ. Эдгар Уэ укъауцу пIэрэ? Ухьэуа? Е убэджыхъ? Мобы нэс укъелъауэ Уимыущэбу дауэ укъела? Упсэущ, уобауэ, зы уIэгъэ птелъкъым. Си гугъэмкIэ укъызэлъа щыхупIэм МачтитI зэтету и лъагагъщ – нэхъ мащIэкъым. Телъыджэщ мы къэхъуар. Хьэдэгъуэдахэщ. Зыгуэр къэпсэлъи зэ сегъэдэIуэж. Глостер А жыпIэр пэж? Пэж сыкъелъар щыхупIэм? Эдгар Мес мо къыр джэхум. ДэплъеиIуэт. Плъагъурэ? Уэгунэбзуи нэмысыфын абы! Сыт ущIэщхьэхыр – щIэIуэтыхьи уи нэм… Глостер Сэ нэ сиIэжкъым. Ярэби, бэлыхь Щыттелъми сыт щIэмыхъур ар дгъэпсынщIэ Ажалыр дгъэщIыхьэхуу. А Iэмалым ХуекIуэну зыми памыубыда! ЗиукIыжыну хэти хуитщ бэлыхьым Зыхуигъэщхъыну и псэм щимыдэжым. Эдгар Убыди си Iэр къызэфIэувэжыт! Псэу уи лъэгуажьэхэр? Быдэу узэфIэт? Глостер Сыщытщ быдэIуэу. Эдгар Сытуи гъэщIэгъуэн! КъызжеIэт, хэт тетар уи гъусэу нэпкъым? Глостер Факъырэ гуэр. Эдгар Ар хэтуи щырырет. Къызэреплъых и нитIыр зи изыгъуэ Мазэгъуэу инт. Езым бжьакъуитIи тетрэ Зы мин хуэдиз пэ кIыхьуи пытыжу Ар, сыщымыуэмэ, зы шейтIан гуэрт. Сынохъуэхъунуи икъукIэ зи чэзущ – Уэ тхьэхэр, шэч хэмылъу, къыпхуосакъ. Абы я нэфI зыщыхуэр – я Iумэтщ. Глостер КъызгурыIуащ. Си натIэм къритхам, Сэ тхьэхэм къысхуащIа унафэ дахэм ЛъэмбытI блэсшиикIынкъым сыпсэуху. ШейтIан хъыбархэр къысхуригъэкIуэкIыурэ Езым мы нэпкъ шынагъуэм сыкъишащ. Эдгар АтIэ арамэ – мамырыж. Хэт ар? Лир къохьэ губгъуэ удз гъэгъакIэ зэщIэблауэ. И зыхуэпэкIэмкIэ – мыр зы делэ гуэрщ. Лир Хьэуэ-хьэуэ. Абыхэм яхузыфIэкIынукъым сэ ахъшэ самыгъэщIэну. Ар сэ си хуитыныгъэщ. Сэ езыр – сыпащтыхьщ. Эдгар (ЛъэныкъуэкIэ зрегъэзэкIри) Схухимытхъащэрэт мы зэIущIэм си гур. Лир Абы и лъэныкъуэкIэ къэхъугъэр искусствэм нэхърэ нэхъ лъагэщ. Мэ уэри зауэлIым и улахуэр. Плъагъурэ мобы шабзэшэр къуаргъ зэрагъащтэ чы къуэрагъым хуэдэу зэриIыгъ. Къысхуишыт шабзэкъу кIапсэр шабзэшэм и кIыхьагъ хуэдизкIэ. Фыкъысхуеплъыт мо дзыгъуэм. Хуэму, нэхъ хуэму! Ар иджыпсту къэдубыдынкъэ, мы кхъуей гъэжьамкIэ къыдэтшэхынщи. Си гъущI Iэлъэри мис. ИзоутIыпщхьэ ар иныжьым и нэшкIулым. Къысхуэфхьыт бжьыхьэт. Хъарзынэу узелъэтащ бзу цIыкIу. УапIэм техуэу, уапIэм. Паролыр жыIэт. Эдгар Мэ гуакIуэ къызыпих майоран. Лир БлэкI. Глостер Зэхэсхащ а макъыр. Лир А! Гонерилье? Уи жьакIэпэр тхъуауи? КъызэдэхащIэрт ахэр срахьэу цIыкIу хуэдэ; пцIышхуи къысхуаупсырт си ныбжьым хуумыгъэфэщэну сыакъылыфIэу жаIэу. Сыт яжезмыIами жэуапу къыпадзыжыр е «хьэуэт» е «нытIэт». КIэ зимыIэж «хьэуэмрэ нытIэмрэ» фIыуэ хэлъыр мащIэщ. Си щIыфэм зэпхыкIыу псыф сыщыхъуам, сыдыкъауэ си дзэр щызэтемыхьэжым, си лъэIури зэхимыщIэрэ мыбэяужыххэу щыблэр щыуэм щыгъуэ сэ къэсщIащ ахэр зыхуэдэр, я гум и лъащIэ дыдэм сынэплъысащ. Хуэдэ уагъэлъыхъуэрэ нэхъыкIэ щыIэххэкъым. ПцIыщ ар. Сэ спщIэхэлъкъым техьэгъуэ дыуи! Глостер Хэт ар? Пащтыхь дыдэщ. Пащтыхь нэсщ. СызыIуплъа си цIыхур мэкIэзызыр. Псэу – хуит дощIыр. ЖыIэт – сыт блэжьар? Къэхьпагъэ тIэкIумэ – уримыгузавэ: Апхуэдэм папщIэ палъэркъым цIыхущхьэ. АбыкIэ мысэщ бзуи гъудэбадзи. ФыщIэпхъэджащIэщ. Глостер и зинэкъуэр Нэхъ хуэхьэлэлу къыщIэкIащ сэ сипхъу НэчыхькIэ къезгъэлъхуахэм, спIахэм нэхърэ. Къуэ къэфлъху. Къуэ къэфлъху зо! Хуейщ зауэлI къэралыр. Мес мо цIыхубзым еплъи – нэмыс пщалъэщ, НэгъуэщI зыгуэруи хуумыгъэфэщэну. Аращ бзылъхугъэу щыIэр зы къэмынэу; И щIэлъэныкъуэр и амыщмэ Тхьэм, Адрейр жыхьэнэмэщ, кIыфIыгъэщ, мащэщ, Ахърэтым и тхъуэбзащхъуэ мафIэ гуащIэщ, Узыфэщ, хьэщхьэвылъэщ, лъы уцIэпIщ. Пу-пу-пу! Мыдэхьыт, Iэзэ е ташын пхъафэу е къэрмэфиблу Iэпэтез, мэ бзаджэр си псэм хезгъэхуну. Мэ ахъшэ! Глостер А уи Iэр къысхуэшии ба хуэзгъэщI! Лир Зэ, сыгъэлъэщI. Хьэдэмэ щоу абы. Глостер Къэхъугъэм тIасхъэу къигъэщIа тхьэмыщкIэ, Мы дуней дызытетри зы зэман Хуежьэнщ щэщэжу, зэпкърылэжьыкIынщи… Уэ сыкъэпцIыхурэ? Лир Уи нэхэм саIуплъа хуэдэщ. Сыт нэбгъузкIэ укъыщIыхуеплъэкIыр! Къауэ, зи нэр щыпхыкIа Купидон. Сыщышынэжыркъым сэ а уи шабзэшэхэм. ЗэфIэкIащ сэ лъагъуныгъэу сщIынур. Еджэ а уи шабзэшэхэм яхуэстха псалъэхэм. Зэрыстха щIыкIэми еплъ. Глостер Слъагъуркъым а псалъэхэр мо дыгъэм енэхуэкIми! Эдгар (ЛъэныкъуэкIэ) И Iуэху зытетыр пащтыхьым къызжаIэмэ, СхуэщIынтэкъым си фIэщ. Гур пекъузыкI. Лир Къеджэ. Глостер НэщIащэ нэщIра сыкъызэреджэнур? Лир А жыхуэпIэр нэхъ гъэщIэгъуэныжи, е уи нэщIащэм нэ имысу, е уи жыпым ахъшэ имылъу ара? Арауэ щытмэ, уи нитIым я Iуэхур хьэлъэщи, уи жыпым я Iуэхур нэхъ псынщIагъуэщ. Иджы нэхъыфIу гу лъыптэу хъуа дунейм Iуэхухэр къызэрыщекIуэкI щIыкIэм? Глостер АкъылкIэ зэзгъэзахуэу аращ а зи гугъу пщIыр. Лир Ухьэлэмэтщ уэ! Дунейм къыщекIуэкIым укIуэцIрыплъын папщIэ нэ ухуейкъым. ТхьэкIумэкIэ плъэ. Плъагъурэ судыщIэр дыгъу тхьэмыщкIэм зэрытехъущIыхьыр? Сэ иджыпсту фокус уэзгъэлъагъуни. Псори зэхыдогъэзэрыхь – зы, тIу, щы. КъащIэ иджы – дыгъур дэтхэнэра, судыщIэр дэтхэнэра? ЗеикI плъэгъуакъэ кIапсэкIэ епха хьэр факъырэм ебэну? Глостер Слъэгъуащ, зиусхьэн. Лир Езы хъарыпыр хьэм къыбгъэдэкIуэту. АтIэ, зэгъащIэ – а теплъэгъуэ цIыкIур власть жыхуаIэжым и дамыгъэщ. Абы къалэн къыпщещI пщIэ хуэпщIын хуейуэ. Хьэр къызэрыбгурыIуэнур зи IэнатIэм Iут къулыкъущIэу аращ. Уэрамым хьэулейуэ къыдэна ЦIыхубз тхьэмыщкIэр сыт щIыкIуэцIыпкъухьыр, Гуэныхьрэ гуэныжьу зэIылъ лIым? Зинэ дэпщIэну узэрехъуапсэм щхьэкIэ? Уэ пIыгъ а щIопщымкIэ зэкIуэцIыкъухьыж. Бейм ирегъэщI щхьэпылъэ пцIыIуэпцIышхыр. Гуэныхьым я нэхъ мащIэр къызэпхощ Щыгъын хъыбийм. Къэдабэ къэптал кIыхьым ЩIеуфэ сытри. Дыщэпс къекIых къуаншагъэми, Абы судыщIэм и бжыщхьэр къыпигуэнщ. Къуаншагъэм хъыданыжь зыщегъэтIагъи КъамылкIи зэпэгъуанэ ар пхуэщIынущ. ЩIым къуаншэ теткъым. Теткъым мысэ щIым: Зы цIыхуми илэжьакъым щIэпхъэджагъэ. Хей хэти сщIыну сыныппохьэ баз, ЗэщIезгъэкъуэну сыхуитщи хэти и жьэр. Къэщэху абджыни уэ къызфIэгъэщI (Политик бзаджэнаджэм нэхъ зебгъэщхьу) Плъагъу хуэдэу умылъагъур. ИIэт, ей Мы си шырыкъум фекъуи псынщIэу сщыфх. Эдгар (ЛъэныкъуэкIэ) Зэхетхъуэ мыгъуэ хъунури мыхъунури, Зэхетхъуэ. Лир Мэ си нитIыр уэ узот, Сыкъэгъэгугъи си гъащIэр схуэбгъеину. Сэ фIыуэ узоцIыхур: уэ у-Глостерщ. Зыхуэгъэшэч. Дыгъуэгыу дыкъалъхуащ. Ди джийм хьэуа бауэгъуэ зэрынэсу ЩIэддзащ дыкIийуэ дэ, дытхьэусыхэу. КъэдаIуэт мыдэ: сэ уэстынщ зы уаз. Глостер Я ди Тхьэ! Мыр сыт гуауэ! Лир Гъын щIэддзащ Дыкъызэралъхуу – шут зыхэт джэгукIэщ. ПыIэ бэлыхь мы слъагъур. Ар – гупсысэщ! Я фIалъэм шищэм упщIэ къешыхьэкIи Ятеуэ малъхъэ зэкъуэхуахэм. УкI. КIуэцIыIу, гуэгъэху, упщIатэ гущIэгъуншэу. Бейгуэлымрэ IуэхутхьэбзащIэмрэ къохьэ. Бейгуэлым Мис. ЗыIэщIэвмыгъэкIыт. Зиусхьэн! Уипхъу фIыуэ уэ укъэзылъагъур… Лир Пэж А жыпIэр? Сэ сыгъэр? Джэгуалъэ сохъур. КъызэвмыгъэкI зэран, фэстынщ пэкIуэнур. Сэ си щхьэкуцIыр яуIащ. Дохутыр. Бейгуэлым Бгъуэтынущ сыт ухуейми, щIы уи фэщ. Лир Сагъэшэчынуи аргуэру схуэмыфащэ? Сыхъуни сэ шыгъу пкъо – си нэпсыр щIым ХэткIуэ зэпыту сыкъытенэм щIыгум. Бейгуэлым Си зиусхьэн. Лир ЗысхуэгъэлIынущ сэ, Фэ зэхэвмыхыу си тхьэусыхафэ. Зыщывмэгъупщэххэ – сыпащтыхьщ сэ. Ар фщIэжу пIэрэ, зиусхьэнхэ, фэ? Бейгуэлым КъытхуэпщIыр ди унафэщ, зи щIыхь ин! Лир Ар жыпIэркъэ-тIэ! Насыпыр къэбубыдыфын щхьэкIэ, къэбжыхьыфуи щытын хуейщ. (ЩIопхъуэ, IуэхутхьэбзащIэхэри кIэлъыщIопхъуэ). Бейгуэлым Мыпхуэдэр зи мыгъуагъэр хэт мыхъуами, КъеIэнущ уигу, ар пкIуэцIылъыххэу щытмэ. Бэлыхьу зиусхьэным къыптехуар ПIуэтэну хуежьи пхурикъункъым псалъэ. Тхьэм и шыкуркIэ уипхъу нэхъыщIэм уэ ИгъэзэкIуэжыфынщ къуащIар нэхъыжьхэм. Эдгар Узыншэу, зиусхьэн! Бейгуэлым Узыншэу уэри. Сыт Iуэху уиIэ? Эдгар УмыщIэу пIэрэ уэ ЩIадзэну зауэм щIэх? Бейгуэлым УзыщIэупщIэм ЗэрысщIэмкIэ, щыгъуазэщ мыдэгу псори. Эдгар Хуит сыщI иджыри зы упщIэ уэстыжыну – Бийр дэнэ щыIэ? Бейгуэлым Жыжьэжкъым а жыхуэпIэр, Зы сыхьэтыпэкIэ мыбдеж къэсынкIи мэхъу. Эдгар Тхьэм уигъэпсэу! Бейгуэлым Ди гуащэм Iуэху и куэдми, МэкIуатэ ди дзэр. Эдгар Берычэт бесын. Бейгуэлыр йокI. Глостер О ди тхьэ лъэщхэ! Сэ сыныволъэIу СIыфх мы си гъащIэр, си гур къызэфIэнэу Аргуэру псэм емыщэжыну сIыфх. Эдгар ТхьэлъэIу хъарзынэщ а жыпIар тхьэмадэм. Глостер Ухэт уэ, тIасэ? Эдгар СытхьэмыщкIэ гуэрщ. Бэлыхь слъэгъуам, хьэзабу сэ сшэчам Срагъэсащ нэгъуэщIым и гукъеуэр ЗэхэсщIэу псэкIэ. Уи Iэр къысхуэший – ЗыщыбгъэпкIун усшэнщ. Глостер ПхузощI фIыщIэшхуэ, Сэ къысхуэпщIар уэ тхьэхэм къыпхуащIэж. Освальд къохьэ. Освальд КъыспэщIэхуакъэ! Хъун иджы тэмэм. Мы лIыжь хьэфизыр къыщIагъэщIыхар Сэ бей сызэрыхъун Iэмалут тхьэхэм. ЗэтеувыIэт нэжэсыр, епцIыжакIуэр, Зэтебэяуи тхьэ елъэIу. Си джатэр Къызох сэ кIэ естыну. Глостер ЖыпIэр пэжмэ, Къыхырырелъхьэ а уи Iэм Тхьэм къару. Эдгар зэхуаку къыдохьэ. Освальд БзаджащIэм хэт уэ укъыщхьэщыжыну Къозытыр хуитыныгъэ. IукI мыбдеж – Армыркъэ – тIури фызэбгъурыслъхьэнщ. Эдгар А жыпIэр хъункIэ Iэмал зимыIэщ, зиусхьэн. УкъызэмылъэIуххэ. Освальд Ажал ухуэмеймэ, текIуэт, жьэмщхьэм. Эдгар БлэкI зиусхьэн дахэ, уи гъэгу ирикIуэ, цIыху къызэрыгуэкIым запумышэу. Ажал гугъуи, пхузэфIэкIыххэнумэ, къысхуумыщI, сыкъэбгъащтэу сыбгъалIэкIэ сытыр уи псапэ. ЛIыжьым и IуэхукIи гъунэгъу зыкъыхуумыщIыххэ, армыракъэ а уи щхьэм бжэгъукIэ сеуэн хуей хъунущ нэхъ быдэр зэхэзгъэкIын папщIэ. ТекIуэт, тIасэ, дахэкIэ! Освальд Зегъэхь адэ, куэншыбыжь Iэтэ! Эдгар Сумыгъэкъуэншэж-тIэ, ныбжьыщIэ. Уэ убэяуну къыщIэкIынукъым, дзэ дапщэ пIутми уэзмыгъэбжыжу. (Зозауэхэр. Эдгар Освальд къытредзэри щIым хегуэ). Освальд УкъыстекIуащ уэ. Си ахъшалъэр къащти, СрищIэлъхьэж – уэ къанэм урикъунщ. Мы си гуфIакIэм дэлъ письмор нэгъэс Уэ Глостер Эдмонд деж. Ар инджылызхэр ЩитIысыкIам деж уэ къыщыбгъуэтынщ. ИкъукIэ зимычэзут мы си лIэныгъэр. (МалIэ) Эдгар Сэ сощIэр хэтми мыр. Гуащэ ябгащэм И унэIутщ, и фIейр дэзыгъэпщкIу цIыхущ. Глостер Пэж ар букIар? Эдгар Зэ моуэ етIысэх, И жыпхэр щIэсщыкIыху. Зи гугъу ищIа Письмор дэ икъукIэ сэбэп къытхуэхъуфынущ ЛIам хэлъкъым шэч. Мы си гум къеуэр зыщ – ЗэрытемылIыхьар щхьэр щыпаупщIым. Писмьори мис. Мыхъур, умыщI уи жагъуэ Сэ узэрыскъутэнур. ХабзэщIэкъухэ, СыныволъэIур – сыкъэвмыщI емыкIу. Бийм и гур зэкIуэцIах, къащIэну илъыр, Письмо къызэтепчыным хэлъ емыкIу. (Къоджэ). «Уигу къэгъэкIыж тхьэуэ зыхуэтIуар. Уэ ухуейуэ щытмэ си лIыр игъащIэкIэ къыздимыкIыжынум зэрыбгъэкIуэфын Iэмал уи хъушэщ. Абы текIуэныгъэ къихьауэ къигъэзэжмэ, сэ сыкIуэдауэ аращ. ИтIанэ сэ игъащIэ псокIэ абы сригъэру сыкъонэ, си нэчыхьыр си бэлыхь мыухыжу. Апхуэдэ насыпкIэ укъысхуэмыупсэу си лIым и пIэ уэ къиувэ. Уи щхьэгъусэ (апхуэдэу жысIэну хуитыныгъэ сиIэныр куэдкIэ нэхъыфIти) уэ къыпхуэпэж – Гонерилье». Бзылъхугъэм хьэгъэщагъэу яхузехьэри! Апхуэдэ цIыху зэтетыр ебгъэукIыу Си къуэшыр пщIыным лIы ущIэхъуэпсыныр Ар сыт икIагъэ! Хъунщ дэлэлай лIа, Къэхьпагъэмрэ ажалымрэ я лIыкIуэ, Мыбдежым пшахъуэм ущыщIэстIэжынщ. ТхылъымпIэр – тхьэхэм деж нэмысын псалъэр – Сэ герцог къагъэпцIам IэщIэслъхьэжынщ. ЩрегуфIыкI ар узэраукIам, Езым бэлыхьыр зэрыщхьэщыкIам. Глостер Пащтыхьыр зэIыхьащ. Сэ си щхьэкуцIыр Хэт мыпхуэдизу быдэу зыпсыхьар – Сэ стелъ бэлыхьыр хуэшэчу мыпхуэдизрэ. Сыхъуамэ сэри делэ – си насыпт. Си нэкъыфIэщIхэм хьэзабым сыщахъумэу, Сшэча мыгъуагъэм щыщ къимынэу гум. Эдгар Къызэтыт мыдэ уи Iэр. (Бэрэбанэ макъ къоIу). ДаIуэт зэ! Бэрэбанэ макъщ а къэIур. НакIуэ, Тхьэмадэ, ныбжьэгъу пэжхэм уахэсшэнщ. (ЙокI). Ебланэ теплъэгъуэ Франц лагерым и шэтырхэм щыщ зым и кIуэцIращ. Лир пIэ щIыIум телъу мэжей. Абы къыщхьэщытщ дохутырыр, абы нэмыщI и цIыху зыбжанэ. Корделиерэ Кентрэ къохьэ. Корделие Тхьэм укъихъумэ, Кент. Уэ къысхуэпщIар – Сэ пхуэсщIэжыну схурикъункъым гъащIэ. Кент Тхьэм и хьэтыркIэ, куэдщ. Iуэхутхьэбзэ сщIакъым. Абы мы зыри ныдыщIызгъужынут. БжесIам зы псалъэ хэткъым езгъэлейуэ! Корделие ЗэхъуэкI а уи щыгъыныр. Ди блэкIам Дэ тщыгъыр и фэеплъу къохъу къыщынэ. Уи нэгу щIэкIар хьэлъэIуэщ. Зыкъэхуапэ. Кент ИджыкIэ ар къезэгъкъым си мурадым. ДызэрымыщIэ хуэдэу егъэкIуэкI. Корделие Хъунщ, содэ. (дохутырым жриIэу) Зиусхьэныр дауэ щыт? Дохутырым Мэжей иджыри. Корделие Тхьэхэ, сызэхэфх, Сядэ тхьэмыщкIэм и псэ къэутхъуар Къэвгъэжэбзэжи и щхьэр фщIыж зэтес. Дохутырым Ухуеймэ, гуащэ, ар къэдгъэушынщ. Мэжей куэд щIауэ. Корделие Уэ узэрыфIэфIщ. ЗэфхъуэкIыфауэ пIэрэ и щыгъыныр? Бейгуэлым ЗыкъедмыгъащIэу хузэтхъуэкIащ жеиху. Дохутырым УщIэмыкIыжыт зэкIэ. Иджыпсту Къэдгъэушынщ ар. Корделие Къызэщывгъэу фысакъыу Дохутырым ФыкъекIуэталIэ мыдэ музычауэхэр, Нэхъ инуи феуэ. Корделие Си адэ дыщэ! О ди Тхьэ, мы си бар хущхъуэгъуэ щIэ, Си шыпхъу нэхъыжьхэм я хьэгъэщагъэм И лъэужь бзаджэу си адэм и нэкIущхьэм Къинар си Iупэм ялъэщIыжыфыну. Кент Iумахуэм нэхущ и гъащIэр. Тхьэр щыхьэтщ. Корделие ИгъащIэкIэ ар фимыадэу сощIри, ГущIэгъу къилэжьти и щхьэ къетхъухам Апхуэдэт зыхуэфащэр къранэу губгъуэм Жэщыбгыу жьапщи щыбли щыетам?! Борэным и щхьэц тхъуар фIызэщIиIэтэу Ди адэм хуэдэт ящIыр хэутэн. Си бийми и хьэр зезгъэгъэхуэбэну ЩIэсшэнт си унэ сэ а пхуэдэ жэщым, Уахэлъу дыгъухэм, кхъуэ къыхэпырхъыкIхэм, Хьэуазэр уи уэншэкуу, пщыIэ фIейр ЩыпхуащIым егъэзыпIэ пфIэнасыпу, Си адэ мыгъуэр губгъуэм укъинат. КъызгурымыIуэ уи акъыл кIуэдам ЗыщIигъуу уи псэр зэрымыбзэхари. Къоуш тхьэмыщкIэр. Фепсалъэт. Дохутырым Уэ езым Зыгуэр жепIэныр нэхъ тэмэмт. Корделие Си адэу Зи щIыхьыр ин! Уэ дауэ ужея? Лир НэхъыфIт си бэным сыкъыдэвмыхыжмэ, Жэнэтым къыщыIу макъщ зэхэсхыр. Ауэ Сэ мафIэм щхьэщыт шэрхъым сыкIэрылъщи, Си нэкIур нэпсым бдзапцIэ пщтыркIэ къес. Корделие СыкъэпцIыхужрэ? Лир Уэ ужэнэт бзущ. Дапщэщыт ущылIар? Корделие И Iуэху мыщIагъуэ. Дохутырым Къэушыпакъым. УмыпIащIэ. Зэ. Лир СыздэщыIари сыщыхэтри дэнэ? Мо слъагъур дыгъэ? СыкъагъэпцIащ сэ псоми, НэгъуэщI зыгуэрым апхуэдэр къыщыщIамэ, Сигу щIэгъум и узыгъуэм илIыкIынт. ЖыпIэнур сыт? Мыр си Iэра, сымыщIэ. КъэсщIэнкъэ ар – хэсIунщи мастэкъуаншэ. Мэузыр. ЗыкъэсщIэжыпам арат. Корделие Къызэплъ. Зыгуэр къызжеIэ. ЗыкъэIэт. Лъэгуажьэмыщхьэу уэ пхуэдэ увыр, дядэ! Лир Укъысщымыдыхьэшх. Сэ жьы сыхъуащ, Си ныбжьыр илъэс пщIейм щыщхьэдэхакIэ. Акъыл тэмэм сиIэжуи къыщIэкIынкъым, ИтIани къызгурыIуэ сфIощI зыгуэр. ФыкъэсцIыхуж си гугъэщ сэ фэ тIури, Пэжщ, шэч къытезмыхьэххэуи щымыт. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ сэ сщIэркъым сыздэщыIэр, Мы си щыгъынри къысхуэмыцIыхуж, КъысхуэмыщIэж сыщыжеяр ныжэбэ. СыныволъэIу дызэвмыгъэдэуэну, Си бын Корделиещ мы слъагъур. Корделие Пэжщ, сэращ. Лир А уи нэкIущхьэм телыдыкIыр нэпс? Зэ сегъэIусэт. Нэпсщ. Умыгъ, си тIасэ, Щхъухь къысхуэгъуэти кIэ езгъэт мы Iуэхум. Уэ, сощIэ, фIыуэ сэ сыкъэплъагъужкъым. Зы щхьэусыгъуэ зимыIа уи шыпхъухэм Трагъэлъащ бэлыхь мы си псэм. Уэ СыкъыщIумылъагъун уэсщIащ. Корделие Ар пэжкъым. Лир Мы сыздэщыIэр Францыра? КъызжефIэт! Кент Хьэуэ… Уи пащтыхьыгъуэщ, зиусхьэн. Лир СыныволъэIур сыкъэвмыгъэпцIэну. Дохутырым ТIэкIу гъэпсэхуж иджы, си гуащэ, уи псэр. НэхъыфI мыр зэрыхъужым шэч хэмылъ. И фэм дэкIар къэбгъэкIыжынуи игу Шынагъуэщ. Здэпшэжынщи уэ уи гъусэу НэгъуэщIкIэ нобэ фымыгъэпIейтей. Корделие Сыппоплъэ, зиусхьэн. Ди гъусэщ Тхьэр. Лир УкъызэмыпхъэшэкI. Сэ жьы сыхъуащ. БлэкIар зыщыгъэгъупщэ, къысхуэгъэгъу. Кентрэ бейгуэлымрэ къонэри адрей псори йокI. Бейгуэлым Пэжу пIэрэ, зиусхьэн, герцог Корнуэл яукIар апхуэдэ щIыкIэкIэ? Кент Шэч хэлъкъым. Бейгуэлым Хэт абы и пIэкIэ дзэпщу къэнар? Кент ЖаIэр пэжмэ, Глостер и къуэ нэчыхьыншэу къалъхуарщ. Бейгуэлым Абы дихуа и къуэр – Эдгар граф Кент ти гъусэу Германием зыщигъэпкIуу жыхуаIэр пэжу пIэрэ? Кент Iэджи ягъэхъыбар. Дауэ мыхъуами зыдгъэгувэну къезэгъыркъым: дзэхэр зэхуокIуатэ. Бейгуэлым Лъыгъажэ зауэ зэрекIуэкIынум шэч хэлъыжкъым. (ЙокI) Кент Къэгъунэгъуащ дызыхуэпабгъэр. Ди пщэдейр зыхуэдэр зауэм къытхуищIынщ сэтей. (ЙокI). Етхуанэ акт Езанэ теплъэгъуэ Дувр и Iэшэлъашэм щитIысыкIа Британскэ лагерырщ. Бэрэбанхэр, ныпхэр яIыгъыу къохьэ Эдмонд, Реганэ, офицерхэр, сэлэтхэр, нэгъуэщIхэр. Эдмонд (Офицерым зыхуегъазэри) Тэмэму къащIэ герцогым еупщIи Дызэрытет ди иужьрей унафэм, Е зэрихъуэкIыжа? Щхьэлажьэщ ари – Дауэ щымытми, къэхь жэуап тэмэм. Офицерыр йокI. Реганэ ЯукIагъэнщ и пщылIыр шыпхъу нэхъыжьым. Эдмонд Ара си гугъэщ сэри. Реганэ КъызэдаIуэт. Уэ фIыуэ уощIэ сызэрыпхущытыр ЕхьэкI-нехьэкI хэмылъу жыIэт пэжыр: Си шыпхъур плъагъурэ фIыуэ? Эдмонд Шыпхъум хуэдэу. Реганэ Къэхъуакъэ фыкъыщынэ физакъуабзэу, КъэвгъапцIэу малъхъэр. Эдмонд Къемызэгъщ а жыпIэр. Реганэ Щэху фякум илъу сэ къысфIощI куэд щIауэ. Эдмонд А жыпIэр пэжкъым, гуащэ, соIуэр Тхьэ. Реганэ ШэчыгъуеиIуэщ си шыпхъур, Глостер, си псэ, Пэшэгъу умыщI. Эдмонд АбыкIэ умышынэ. Мес ар езыри. И щхьэгъусэр щIыгъущ. Герцог Альбани, Гонерилье, зауэлIхэр ныпхэмрэ бэрэбанхэмрэ яIыгъыу къохьэ. Гонерилье (ЗрегъэзэкIри жеIэ) Дыкъызэхакъутэнри нэхъ къэсщтэнщ Зытрезгъэх нэхъ си шыпхъум а бгъэдэтыр. Герцог Альбани Изох сэлам дэ фIыуэ тлъагъу ди шыпхъум. Пащтыхьыр и пхъум щIыгъущ. Мыарэзы – дэ къытпэува псори я гъусэжу. Сэ зауэ сыIухьэн ипэIуэ напэм, Си напэм сыгурыIуэу хуейщ щытын. Сызэзэуэну бийри – францхэращ, Армырмэ щIыгъухэракъым. ЯIэщ ахэм Дызэрагъэкъуэншэни. Эдмонд Пэжщ жыпIэ псори. Реганэ КъызгурымыIуэ: сыт а къомым къикIыр. Гонерилье Зы бий дыпэуващ дэ псори нобэ – Аращ нэхъыщхьэр. Дяку зэхуилъыр сыт! Герцог Альбани Арамэ – хасэ цIыкIу зэхуэзгъэсынщ Егупсысыну ди ебгъэрыкIуэныгъэм. Эдмонд Уи пщыIэм сынэкIуэнщ сэ куэд дэмыкIыу. Реганэ Си шыпхъур удигъусэ. Гонерилье Хьэуэ, сэ… Реганэ НэхъыфIт ди гъусэу унэкIуамэ уэри. Гонерилье (ЛъэныкъуэкIэ) ДауикI. Ар гурыIуэгъуэщ. СынокIуэ сэ. (ИкIынхэу йожьэ. Абыхэм къахуэкIуэу къохьэ нэгъуэщI щыгъынкIэ зыкъэзыхуэпа Эдгар). Эдгар Зи щIыхьыр ин, дакъикъэ ныкъуэ закъуэ, Сэ цIыху къызэрыгуэкIым къыслъыгъэс. Герцог Альбани Сумыгъэгувэу жыIэ. Фэ фынакIуэ, Сэ зы тэлайкIэ сыфлъэщIыхьэжынщ. Герцог Альбанирэ Эдгаррэ нэмыщI псори йокI. Эдгар Зауэм щIимыдзэ щIыкIэ, ипэ мы письмом Уеджэну сынолъэIур, герцог. ДытекIуэу щытмэ уэ уи накъырапщэм Накъырэ макъкIэ сыкърегъэджэж. Сэ сыфакъырэ пэтми… зы зауэлI Къизгъэувэнщ уи пащхьэ а письмом Ит псом щыхьэт лъы щIэтымкIэ техъуэну. Ауэ фэ, хэт ищIэн, фыкъыхагъащIэм, Дэ зыми дыщIыхэтыжын щымыIэ. ИтIанэ уэри, уи бийм къыпхузэIуащэми КIэ фиIэщ. ФIыкIэ. Укъихъумэ Тхьэм. Герцог Альбани Зэ, умыпIащIэ сыкъеджэху письмом. Эдгар Зызгъэгувэну хуит сащIакъым сэ. Нэгъаджэ уи герольди сыкъэсынщ. Герцог Альбани Узыншэу. Сыкъеджэнщ сэ уи письмом. Эдгар IуокI. Эдмонд къегъэзэж. Эдмонд Бийр плъагъуу хъуащ. Нэхъ зэщIэдгъакъуэ ди дзэр. Биидзэм мис и бжыгъэр, и къэкIуэкIэр. ПIэщIэн хуейщ, зиусхьэн! Герцог Альбани Ди гъусэщ Тхьэр! (ЙокI) Эдмонд Тхьэ яхуэсIуащ зэшыпхъухэм фIыуэ слъагъуу, Ажалым хуэдэу тIури зэролъагъу. Дэтхэнэра мы тIум нэхъ къыхэхыпхъэр? Е тIури зэуэ? Е языхэзыра? Е зыми сыхуэмейрэ мы зы гъуэгукIэ? Зым хуэкIэу лъагъуэр къызэхуещI адрейм. Реганэ къасшэу сощIри – Гонерилье Зы махуэ тыншу симыгъэпсэун. Абы езыми куэд къыпумыхын ПсэухукIэ и лIыр. Зауэр иухыху ЩIэгъэкъуэнышхуэщ ар езыри дэркIэ. ЗэфIэкIмэ зауэр, лIыр зэрыIуипIэнур Езы бзылъхугъэм кърегупсысыж. Корделиерэ Лиррэ къэтщIмэ гъэр И мурадышхуэщ щысхьыну герцогыр. Ар хъункIэ Iэмал лъэпкъ зимыIэщ. Сэ ПсапащIэ сыкъежьакъым. Си къалэныр Сыуэнуращ, сыгупсысэнуракъым. (ЙокI) ЕтIуанэ теплъэгъуэ ЛагеритIыр щызэпэщыт губгъуэрщ. Сценэм адэкIэ зауэм и Iэуэлъауэр къыщоIу. Бэрэбанэхэмрэ ныпхэмрэ яIыгъыу Лир, Корделие, я дзэр блокI. Эдгаррэ Глостеррэ къохьэ. Эдгар Жыг жьауэм щетIысэхи щIэс дадэфI, ТекIуэну пэжыр Тхьэ елъэIу плъэкIыхукIэ. Сыпсэууэ къэзгъэзэжмэ сэ бжесIэнщ Узыпэмыплъа гуэр. Глостер Тхьэм фыкъихъумэ. Эдгар йокI. Зауэм и Iэуэлъауэр къоIу. Дзэр кърагъэкIуэтыжыну сигнал къат. Эдгар къегъэзэж. Эдгар НыщIэпхъуэ, къащтэ уи Iэр, лIыжь. Къэтэдж. Пащтыхьым и дзэр къызэхакъутащ. ЯщIащ езыри гъэр, и гъусэу пхъур. Глостер СыщIыщIэпхъуэнур сыт? Мы щIыпIэм деж Хырефыхьыж си къупщхьэр. Эдгар ЖиIэр сыт? ЦIыху цIыкIум щыщу хэт къызылъысар ИщIыну и унафэр къыщалъху махуэм, ИщIыну и унафэр и уахътым. Дэ зыщ къытлъысыр. ПсынщIэу зыкъэтщтэным Дыхуэхьэзыру дыпсэуныр. Тэдж. Глостер Пэжщ а жыпIэр. НакIуэ. (ЙокI) Ещанэ теплъэгъуэ. Дувр и Iэшэлъашэм щитIысыкIа Британскэ лагерым. Бэрэбэнауэр, ныпзехьэхэр, офицерхэр, зауэлIхэр щIыгъуу Эдмонд къохьэ, гъэр къащIа Лиррэ Корделиери яхэтщ абыхэм. Эдмонд Хъумэн хуейщ мыхэр. Быдэу фахуэсакъ, ЗэхащIыхьам къыпэкIуэр ягъуэтыхукIэ. Корделие Дэракъым щыпэу зытехуар бэлыхь, Захуагъэм Iэщэ къыхуэзыIэтауэ. Уэращ, си адэ, щIэгъур сигу, си щхьэм Къытепсыхар зыгуэрурэ згъэвынт. Адрей уипхъу хьэлэмэтхэр дэнэ щыIэ? Драгъэлъагъунукъэ абыхэм дэ? Лир Дызыхуэмейщ. ПсынщIэIуэу дыщIыредзэ ЩIыунэми, дэ дыщIэсынщ абы, Уэрэд къыщитшу хъарым ис бзу цIыкIухэу. Сыниувэнщ уи пащхьэ лъэгуажьэпэкIи Тхьэм уи псэ нэхум папщIэ селъэIунщ, УэсщIар къысхуэбгъэгъуну сыпщыгугъыу. ДызыщыгуфIыкIыжу дыпсэунщ, Зи дамэр псыпс хьэндрабгъуэм дыкIэлъыплъу, Уэрэдхэр къитшу, таурыхъ таурыхъым пытщэу, Тутнакъым ирадзахэм я псэукIэ, Тепщэгъуэр зейхэм я Iуэху къызэрекIуэкI, Хэт япэ яфIища, хэт хъуа нэхъ лъэщ, Хэт къэлэнджа, хэт лъэпэрэпа – Дегупсысынщ зыдгъэбэлыхьу псоми, Тхьэ лъэщым дрилIыкIуэм ещхьу дэ. А мывэ джей тутнакъым дыщIэсыху Хуэм-хуэму хьэрыкъуакIэ дыхьэжынщ Дунейм цIыхушхуэу тету нэхъ шэджащэхэм Дэ тхузэрагъэпцIа щIэныгъэ нэпцIи, ЩIэныгъэм и толъкъуну гъащIэ нэпкъым Къыжьэхэуауэ Iэсэу IусыкIыжи. Эдмонд Iуфш мыхэр псынщIэу. Лир Усщыгъукъэ, Корделие? Дэ тIур дызэгъусэнущ къэнэжам. ДыкъыщIамыхуфын щIыунэм ахэм Зырызу, къыдащIэкIми бажэ Iугъуэ, Мо уафэм мафIэ кърамыхьэхауэ. Уи нитIыр лъэщI. Мыбыхэм щхьэкIэ дыгъ нэхърэ НэхъыфIщ емынэм тхузэтрипIэм ди нэр. Ядгъэлъагъункъым дыгъыу зэтелIамэ. Эдмонд КъэдаIуэт, капитан. Пакетыр здэщтэ. Абы унафэр итщ. БыдапIэм шэ. Сэ зы нэкIэ, уэ пщIэжмэ, усIэтащ, Иджыри усIэтынщ – гъэзащIи итыр. Зэманым къриIуэкIым пэджэжыфу Псэун хуейщ цIыхур. УкъызэмыупщIу Жэуап къызэт – пакетым ит унафэр Уэ бгъэзэщIэну ухьэзыр? Офицерым АтIэ! Эдмонд Зумыгъэгувэ. Укъызогъэгугъэ Уи хьэкъ къытемынэну. Зэрыстхам Утету, псынщIэу. УмыIэуэлъауэу! Офицерым Сэ гу къысхуемышэкI. Сымышх Iэвос, СхузэфIэкIынумкIэ укъызогъэгугъэ. (ЙокI) (ЙокI) Накъырэ ягъаджэ. Герцог Альбани, Гонерилье, Реганэ, офицерхэр, зауэлIхэр къохьэ. Герцог Альбани Уэ нобэ бгъэлъэгъуащ узэрыхахуэр. Уи кIэн къикIащ, уи бийхэр гъэр къэпщIащ, Иджы дэ ахэр къилъхьэ ди IэмыщIэ, Унафэр дэ ятетщIыхьыпхъэу добж, ЗэрахуэфащэкIэ къызыхэкIам. Эдмонд ЩIызгъущ къэрэгъули сэ пащтыхь сымаджэр Тутнакъым щигъэпщкIуну езгъэшащ Абы и ныбжьым, зэрихьа къулыкъум Егупсысыху зауэлIхэр къогумэщI. Апхуэдэурэ екIуэкIмэ, ахэм дэ Я Iэщэр къыттрагъэпсэжынкIи хъунущ. Абы и гъусэу ипхъури езгъэшащ. Пщэдей е пщэдеймыщкIэ ахэр сэ Фэ фи суд пащхьэ ныфхуисшэнущ. Нобэ Мыпхуэдиз лъыпсым, мыпхуэдэ пщIэнтIэпсымэм Зауэм къигъэлыбахэр къыщедгъэчу… Пащтыхьымрэ Корделиемрэ я Iуэхур Утыку щытщIыну махуэри жыжьэжкъым. Герцог Альбани Зэ умыпIащIэ, зиусхьэн, сэ уэ Узишугъусэш, иджыкIэ умалъхъэгъукъым. Реганэ Абы и Iуэхур зэлъытар сэращ. Къалэн сэ щысщIу и пщIэр зэрысIэтырщ. АбыкIэ уэри укъызэупщIынуи Зы ягъэ кIынтэкъым. Ар сэ си дзэпщу Хэтащ мы зауэм зыкъримыгъэлыжу. Си хуитыныгъэхэр къызыхуэнапхъэ Iыхьлыуэ къыщыслъытэкIэ – уи къуэшщ. Гонерилье Умыгузавэ, уэ ухэмыIэбэуи Абы и лIыгъэкIэ зиIэтыжыфащ. Реганэ Сыхуейщ фэ фщыщу ари къыфхэтыну. Герцог Альбани Тэмэмщ а жыпIэр: зэщхьэгъусэ фыхъумэ. Гонерилье Ар япэу жызыIар Бегъымбар щIагъуэу сэ схужымыIэну. Реганэ БжесIэнт си шыпхъу , а уи гум ешыкъылIэр. Сызэщымыщхъущ. Си зауэлI хахуэ, уэ Узот си лъахи, зауэлIуи, гъэруи сиIэр БыдапIэм тетыр. Къащтэ сиIэ псори, Щхьэгъусэ схуэхъу, си зиусхьэнуи щыт. Гонерилье НэгъуэщI ухуейтэкъэ! Герцог Альбани Апхуэдэ Iуэху Зэран ухэхъуну уэ ухуиткъым. Эдмонд Ухуиткъым уэри. Герцог Альбани Дауэ хъунт, къуэш нэпцI? Реганэ (Эдмонд жриIэу) Егъауэ бэрэбан, уи джатэр къихи Си титулыр пхуэфащэу хьэкъ ящыщI. Герцог Альбани Бэяу. Сэ ахэр згъэтIысынущ, Эдмонд, Уэ мы дыщэблэ лантIэри уи гъусэу Фызогъэкъуаншэ къэралым фепцIыжауэ. (И Iэпэр Гонерилье хуешийри Реганэ жреIэ) Си шыпхъу, а узыхуейхэр къемызэгъыу Солъытэ сыкъыщыжу си щхьэгъусэм. Ар зиусхьэным дэкIуэну гурыIуащ. ЛIы удэкIуэнумэ – зыщ Iэмалу щыIэр: Сэ сыгъусэншэщ, сыдэкIуэжауэ бжы. Гонерилье Сыт тхьэгъэпцIыкIэ! Герцог Альбани Глостер, Iэщэ пIыгъщ, Унафэ щIы накъырэ ягъэджэну. Уэ узэрыпцIыупс фасикъыр, уэ УзэрыепцIыжакIуэ бзаджэнаджэр ДжатэдзэкIэ къыпщищIыфыну хьэкъ Дзэм зыри къыхэмыкIмэ – мыр шэсыпIэщ. (И Iэлъэр хуедз). Махуэпс семыфэжын а ныбжесIам Зэрыхэмылъыр пцIы сэтей къэзмыщIу. Реганэ Мы си гур къокIуэ. Гонерилье (ЛъэныкъуэкIэ) ГурыIуэгъуэщ ар, Тхьэм и шыкуркIэ хызощIыкI сэ щхъухьхэм. Эдмонд Мис си шэсыпIэр. (Iэлъэр едз) Хэтуи ар щрет – СыепцIыжакIуэу сэ къызжезыIэфыр – Ар бзаджэнаджэ и бзаджэнаджэжу. Къэгъаджэ уи накъырэр, накъырапщэ, Сэ сыхьэзырщ сыпэувыну хэти, Си напэр, пэжыр схъумэжыну. Герцог Альбани Ей, КъэпIащIэт мыдэ! Эдмонд КъакIуэт, накъырапщэ! Герцог Альбани А уи щхьэр хъумэжыф. ПщIыгъуа зауэлI Сэ къысхуэпшахэр зэбгрызгъэкIыжащ. Реганэ НэхъыкIэ сохъу. Герцог Альбани Iуфш ар, къызэIохьэпэ. Си пщыIэм щIэфшэ. Реганэ Iуаш. Герольдыр къохьэ. Мис къэсащ герольдыр. ШэщIауэ епщи къахуеджэ мис мыбы. Офицерым Гъаджэ накъырэр. Герольдыр (ТхылъымпIэм къоджэ) Сыграф Глостерщ жызыIэ Эдмонд зэрыфасикъыр, зэрыепцIыжакIуэр хьэкъ IэщэкIэ къытщищIыну хуей мы дзэм щыщ уэркъхэмрэ офицерхэмрэ къыфхэтыр пэжмэ, къыхрекIуэт накъырэр ещанэу зэрыдгъаджэу. Пэувынур хьэзырщ. Эдмонд Гъаджэ! (Зэ ягъаджэ) Герольдым Иджыри зэ! (ЕтIуанэуи ягъаджэ) Иджыри зэ! Ещанэу ягъаджэ. Абы къыпэджэж накъырэм и макъ сценэм адэкIэ жыжьэу къыщоIу. Накъырапщэ зяпэ ит Эдгар къохьэ, Iэщэр IэщIэлъу. Герцог Альбани ЕупщI мурад ищIамкIэ. КъыщIэкIуар жегъыIэ. Герольдым Уэ ухэт, зауэлI, хэт уи цIэр, Сыт уи къулыкъур. УакъыщIыхэкIуэтар? Эдгар Куэд щIащ сэ си цIэр зэрагъэулъийрэ! ПцIым Iэджи лъокIыр. КъыфхэкIуэту бий, Къыспэувыным хуэдэу сыуэркъ щауэщ. Герцог Альбани Хэт уэ уи бийр-тIэ? Эдгар Глостер Эдмондыр сэращ жызыIэр хэт? Эдмонд Сэращ. Уэ сыт жыпIэнур? Эдгар Къих уи Iэщэр, Мы ныбжесIэнум уи гуэныхь кърисхьмэ, Схуэфащэр а уи IэщэмкIэ къызэт. Сэ фIыуэ сщIэжу сыкъызыхэкIар, Си напэм хуэфэщэнум сегупсысу СыкъыпхуэкIуащ уэ ныбжесIэну мыр: Уэ уи къару илъыгъуэщ, уи щIалэгъуэщ, Уи кIэн къикIащ, къэпхьащ текIуэныгъэщIэ. А псоми ящыIужкIэ утхьэгъэпцIщ. Уэ уепцIыжащ уи адэми, уи къуэшми, УопцIыжыр мис мы узыбгъэдэт герцогым, Мыхъуауэ фIей пхэлъыжкъым уэ зы джылъ. Уи къурмакъейм къэсауэ фIейм ухэсщ. ЖыIэф уэ пцIы ныптеслъхьэу. Си Iэр – мис. Абы IэщIэлъ си джатэр болъагъуххэр. А тIуми я къалэнщ а ныбжесIар Шэч къытомыхьэжыну хьэкъ пщащIыну. Эдмонд Сыхуитт сэ уэ ухэтми къэсщIэну. Сыноплъри узауэлIщ икIи упагэщ. Уи псалъэхэм къыхощыр зы зэман Зыгуэр зэрелIэлIар уи гъэсэныгъэм. Зэман дымыгъэкIуэду Iуэхум щIэддзэм Нэхъ сфIэтэмэму нызогъэгъэзэжыр Уэ уипцI къыслъэмыIэсу зблэлъэтам. ИрелIыхьыж ар къызэрыкIа уигу бзаджэм, И гъуэгур мы си джатэм хуищIу хуит. Накъырэр вгъаджэ! (Накъырэ ягъаджэ. Зозауэхэр. Эдмонд мэджалэ) Герцог Альбани УмыукIыпэ ар. Гонерилье Уэ хьэгъэщагъэкIэ урагъэбащ, Ухуитт уемызэуэну умыцIыхум. Уэ къыптекIуакъым Глостер, укъашхащ, ГъэпцIагъэкIэ урашэри утыкум. Герцог Альбани Щым джэдыкIампIэ. Армырамэ мы ТхылъымпIэ сIыгъыр жьэдэскуэнщ а фи жьэм. Мэ, къеджэ, бзаджэнаджэ, къэблэжьам. (Гонерилье жриIэу) БжызоIэ, зэфIумытхъ. КъэпцIыхужа? (Письмор Эдмонд ирет) Гонерилье Мы дызэрыт къэралыр зейр сэращ, Уэракъым. Хэт си суд зыщIэну хуитыр? Герцог Альбани Напэншагъэшхуэ ар! КъызэрыщIэкIымкIэ. ТхылъымпIэм ущыгъуазэт? Гонерилье Гъэбэяу – Сызыщыгъуазэр – ар сэ си Iуэхужщ. Герцог Альбани (Офицерым жреIэ) КIэлъыплъыт, гуауэм зэщхьэщихуащ а слъагъур. (Офицерыр йокI) Эдмонд Злэжьащ уэ сызэрыбгъэкъуаншэ псори, Нэхъыби сщIащ – сэтей къищIынщ пщэдейм. Къэсащ си пIалъэр. КъыжыIэт – уэ ухэт? Хэт зи насып сэ къыстекIуар – къэзгъащIэт? ЗыкъэзгъэцIыху, IэщакIуэ, сынолъэIу. Эдгар Уи пэжым ныпэкIуэжу пэж бжесIэнщ. ЗагъэнэхъыкIэкъым сыкъызыхэкIам сэ Уэ укъызыхэкIам нэхъ. ТIэкIу нэхъыфIмэ, Гуэныхьу уэ къэпхьар нэхъыбэу бжы. Эдгарщ сэ си цIэр. Сурикъуэшщ. КъэщIэжыт. Гуэныхьу длэжьым пэкIуэр къыдэзыт Тхьэм и унафэм пытлъхьэжын щымыIэ. ЗинэкIэ укъызэрыригъэлъхуар И нитIымкIэ ипшыныжащ ди адэм. Эдмонд Ар пэжщ. Дунейр шэрхъыжьу мэкIэрахъуэ! Шэч лъэпкъ хэлъыжкъым – сэ сыщIипIытIащ. Герцог Альбани СызэрыIуплъэу уи щIыкIэм – сэ къэсщIат Уэ узыщыщыр. ЗыхуэзгъэщIыт IэплIэ. Дунейм насыпу тетым сыхырен Е уэ , е уядэм си щIыб сэ ныфхуэзгъазэмэ. Эдгар Ар сощIэ сэ. Герцог Альбани Иджы ущыхэтар КъыджеIэт. СыткIэ уэ къызэрыпщIар Бэлыхьу уядэм телъыр. Эдгар А бэлыхьыр Сэ дэсшэчащ си адэм зэрыслъэкIкIэ. СIуэтэжыр сухмэ – сылIэныр нэхъ къэсщтэнт. Хьэзаб хэмыкIрэ гугъусыгъуу дылIэжыныр Дэ нэхъ къыдощтэр ажал кIэщIым нэхъ. СызэращIар хабзэншэ щызэхэсхым, ЗызгъэпщкIури сэ зыкъэсхуэпащ факъырэу, Делафэ зытезгъауэщ, сыхыхьэжри Къысщымэхъашэу псори сыпсэуащ. Апхуэдэурэ секIуэкIыу махуэ гуэр Сыхуозэ сэ хьэфиз ящIа си адэм, Лъыр игъуэжауэ и нэщIащэ кумбхэм, Iэлъын, зи мыщIэр имысыжым хуэдэу. Iэпэгъу сыхуэхъури гъуэгу дытехьэжащ, Факъырэ Iус къыхэсхрэ игу хуэзгъэфIу. Си унэхъугъуэти зы сыхьэтныкъуэ ИпэIуэкIэ зыкъезгъэцIыхужат, Бэлыхь сызыхэтар къыхуэсIуэтэжри. ГуфIэгъуэмрэ гукъеуэмрэ гуащIэIуэу Щызэжьэхэуэ мо игу езэшам КъытехьэлъэIуэри зэгуэудащ. Эдмонд А пIуатэр йоIэ гум. ИтIани хэлъщ Си сэбэп гуэр абы. Бухакъым – пыщэ. Герцог Альбани ЩыгугъукIэ апхуэдизу – гъэбэяу, ЕдаIуэгъуейщ – уи нэпсыр къыпфIыщIехур. Эдгар А сэ сIуэтар бэлыхь зымыгъэвам Къыщохъур тхьэмыщкIагъэм и лъагапIэу, Ауэ бэлыхьым есэжам и гъуэгум Мыгъуагъэхэм я бжыгъэр щыщогъупщэри, Къыхуиухам нэсыху емытIысэх. Си адэр здэзгъеижым къыткIэлъыплъ Зыгуэр къызбгъэдокIуатэ. СыщыхуэзэкIэ Си факъырагъэм Iуигъэщту щыта гуэр. Иджы – сыхэтми сэ къызэрезгъащIэу – Мы си пщэм гъуэгыу зыкъыщIедзэ, щIым Зыхуредзыхыжри си адэр егъеиж, И нэпсыр нытелъалъэу лIам и нэкIум. Езымрэ Лиррэ здагъэвам и гугъу Абы къысхуищIыжам ущыщIэдэIукIэ, ПфIрикъутэхти апхуэдизкIэ гущхьэр,- ИгъащIэм хуэдэ сэ зэхэзмыхат. Ар зыгъэвауэ къысхуэзыIуэтэжым, И нэгу мыгъуагъэу къыфIыщIыхьэжар, Езым хуэмышэчыжу къэмэхащ. Мис а тэлайм ягъаджэри накъырэ - СыIуохьэ зауэм. Герцог Альбани Хэту пIэрэт ар? Эдгар Кентт, зиусхьэн. Зи хэкум кърахуам НэгъуэщIу зихуэпауэ ихут и ужьыр Пащтыхьым, лей апхуэдэу къезыхам, Хуэпэжу псэкIэ. Бейгуэлыр лъызащIэ къамэ IэщIэлъу къолъадэ. Бейгуэлым Ей, маржэ, фыкъыздэIэпыкъу! Эдгар Къэхъуар сыт? Герцог Альбани Сыт ар? Эдгар Дэнэ къикIа уи къамэм кIэрылъ лъыр? Бейгуэлым Къыхэсчыжащ гум ар. Иджыри хуабэщ. ЛIащ, лIа! Герцог Альбани КъызжеIэт псынщIэу пщIыр зи гугъу. Бейгуэлым ЛIар – уи щхьэгъусэращ, зиукIыжащ, Щхъухь япэ щIыкIэ и шыпхъум иригъэшхри. Езыми зиумысыжащ. Эдмонд Сэ тIури Зыщызгъэгугъыу екIуэкIырти – иджы Щым ди нэчыхьри тхуитхыжынщ ажалым. Эдгар Мис, Кент Герцог Альбани Къэфхь мыдэ, псэуми лIами, тIури. Лъэр егъэдий зэшыпхъухэм я унафэр Мо уафэр зейхэм къызэрыхуащIам. Сыт хуэдэу щытми, мэхъухэр тфIэгуэныхь. Бейгуэлыр йокI. Кент къохьэ. Пэжщ жыпIэр. Кентщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, Хуэфащэ пщIэ абы мыбдеж щыхуэтщIу Къедгъэблэгъэну тхузэфIэмыкIын. Кент НэхулъэфI укъикI жесIэну сыкъэкIуащ Си зиусхьэну си пащтыхь лъапIэм. И Iуэху сыт хуэдэ? Герцог Альбани Къытщыгъупщащ нэхъыщхьэр. Эдмонд, къыджеIэт – пащтыхьыр дэнэ щыIэ? ЗдэщыIэр дэнэ Корделие? (Гонерильерэ Реганэрэ я хьэдэхэр кърахьэ) Плъагъурэ. Кент? Кент Сыт мы къэхъуар? Эдмонд Эдмонд ялъагъурт фIыуэ. Курытыр щхъухькIэ иукIри шыпхъу нэхъыжьым, Езым и гущхьэм къамэ хиIужащ. Герцог Альбани Ар пэжщ. Зыгуэр я нэкIум ифпхъуэ тIуми! Эдмонд МэкIуасэ гъащIэр. Си псэр хэмыкIыпэу Зэ сыфхуэщхьэпэжыну сщIащ мурад, Ар къызэмыкIуми. ФепIэщIэкI. Зыгуэр Тутнакъым вгъажэ. Сэ унафэ сщIат Лиррэ Корделиерэ щIаукIыхьыну. Герцог Альбани ФыщIэпхъуэ зывмыIэжьэу. Эдгар Хэт и деж? Унафэр зэрыпхъуэжым и нагъыщэу Къыдэт зыгуэр. Эдмонд Пэжщ жыпIэр. Къащти – мис IэщIэлъхьэ мы си джатэр офицерым. Герцог Альбани ФеужьэрэкIыт, маржэ хъужыхэн! Эдгар йокI. Эдмонд Уи фызым сэрэ дызэчэнджэщыжри Корделие тутнакъым щыпалъэну Унафэ тщIат, езым зыфIидзэжауи ИужькIэ ягъэIуну. Герцог Альбани Тхьэм къихъумэ! Зыгуэр фыкъакIуи Iуфхыт мыр мыбдеж. Эдмонд Iуах. Лир къохьэ и IэплIэм Корделие и хьэдэр илъу. Абы и ужьым итщ Эдгар, офицерхэр, нэгъуэщIхэр. Лир Фыгъуэг, фыпыхьэ! Фэ фыцIыху! Фымывэщ. Фэ фи нэм хуэдэ, фи бзэм ещхь сиIамэ, Дунейр къэсэхыжынти. Мисыр – феплъ, Феплъ сIэщIахам сэ къэгъэзэж имыIэу… Сыт сызыхэтыр сэри? ЛIарэ псэурэ СхузэхэмыгъэкIыжуи?! Къафщтэт гъуджэ, Iубахъэм абджыр пшагъуэ къищIу тлъагъумэ, Пытщ си пхъум и псэр. Кент Ярэби, дунейм, И къутэжыгъуэр мы тэлайракъэ! Эдгар Зэманыр и нэм щынэса сыхьэтщ. Герцог Альбани Зэманыр щиухыпэ махуэ кIашэщ. КъэпIейтеящ къабзийр. Феплъ – къобэуэжыр, Ар пэжу щытмэ, ди Тхьэ, сэ игъащIэм Згъэва бэлыхьыр пщIыхьу бзэхыжынт. Кент Си зиусхьэну лъапIэ! (Лъэгуажьэпэ зрегъауэ). Лир IукI жызоIэ. Эдгар Iэгъу, дауэ ар? Ар уи ныбжьэгъущ, ар – Кентщ. Лир ФыIукI. ФыкIуэцIырыху. ЩIапIэщIэлъадэр КъыфхукIуэ! Сэ къезгъэлыфынут ар – Корделие! КъэдаIуэ зытэлай, Зытэлай закъуэ зыIэжьэж. ЖыпIар сыт? Сыт хуэдэ макъ иIа а си хъыджэбзым! Си кIэтIий кIапэ къыпыкIа тхьэмыщкIэр Упызылъар си IитIкIэ сукIыжащ. Офицерым Пэжщ жиIэр, зиусхьэнхэ, иукIащ. Лир Узищыхьэткъэ, си ныбжьэгъу? Зэман СиIащ си къамэр къисхрэ сахыхьамэ, Хьэ бжьыдзэу схуэгъэлъэну мыхэр сэ. БлэкIащ ди пIалъэр, жьыгъэм хэлъкъым фIыгъуэ, СщIилъэсыкIащ си гуауэм си къарур. (Кент жриIэу) БжесIэнщи пэжыр. Кент ДиIэгъащ зэман ДынасыпыфIэуи, здэдгъэвуи бэлыхь гуэрхэр, ТIу дыхъурт. Зыр уэрат. Адрейр сэрат. Лир КъызжеIэт, уэ у-Кент? Кент ЖыхуэпIэ дыдэрщ. Сэращ уи блыгущIэт Кентыр. ЖыIэт уэ Уи IуэхутхьэбзащIэ Кай здэщыIэр дэнэ? Лир ЩIалэ бэлыхьт зи гугъу пщIыр, пэжыр жыпIэм. IэщакIуэ хъыжьэт. ЛIащ тхьэмыщкIэ, лIащ. Кент Ущоуэр. Кай ухуеймэ – ар сэращ, Си зиусхьэн! Лир Деплъынкъэ. Кент Япэ дыдэу Лъэпэрэпэн щыщIэбдзэм сыкъежьауэ Къызоху уи ужьыр. Лир СыпщыгуфIыкIащ. Кент Иджыри къэскIэ къэхъуа псори гуауэщ, КIыфIыгъэщ. Уипхъу нэхъыжьхэм къащыщIар Яхуэмыгъэву заукIыжащ. Лир Ара хъунщ. Герцог Альбани А слъагъум жиIэр ищIэжу симыгугъэ. Нэмыс хуэтщIыну дызэрыхьэзырыр Едгъэлъагъунри мыхьэнэншэ сфIощI. Эдгар Пэжщ жыпIэр. Офицерыр къохьэ. Офицерым Эдмонд лIащ. Герцог Альбани Ар дэ ди Iуэхукъым. Сызэгупсысыр мыращ сэ, зиусхьэнхэ! Мы насыпыншэм и гъащIэ хьэлъэр Нэхъ тынш зэрыпщI хъухэну зы Iэмал Къэзмыгъэнэну фыкъызогъэгугъэ. Ар псэухункIэ властри IэщIырелъ. (Эдгаррэ Кентрэ захуигъазэу.) ФеувэлIэжхэ фэри фи IэнатIэ, Фи хьэлъэ зэрытлъэкIкIэ вдэтIэтынщ. Пэжагъыр зигу и пщалъэу псэуфахэм ФIым и къэуатри зэхэфщIэнщ. Мыбы КъыщыщIыр сыт? Феплъыпэт. Лир Си хъыджэбз ТхьэмыщкIэр ятхьэлащ, ялIащ, бэуэжкъым. Псэуну хуитщ хьэ быни, шыи, дзыгъуи. Ухуиткъым уэ. Уэ хьэршым укIуэжащ ИгъащIэ псокIэ къыумыгъэзэжыну, ИгъащIэкIэ, щытыхукIэ мы дунейр. СхуэфтIатэ псынщIэу щIыIур, егъэузыр. ФIыщIэ фхузощI! Мис, къеплъыт, зиусхьэн! И Iупэр плъагъуркъэ? Быдэу къеплъ мыбы! (МалIэ) Эдгар ТхьэмыщкIэр къэмэхащ. Си зиусхьэныр. Кент УвыIэ си гур! Сыт ущIыхэмытхъэр? Эдгар Къэушыт, зиусхьэн. Кент И гугъу умыщI. Мес, малIэ. Мэтыншыжыр и псэ мыгъуэр. Къыщыплъэфыжрэ гъащIэ дзакIэм фIэбдзэу Бэлыхь теплъхьэну сыт ущIыхэтынур. Эдгар ЛIащ. Кент ЗэрылIар аракъым гъэщIэгъуэныр, Иджыри къэскIэ зэрыпсэуфарщ. Граф Альбани Нэфхь къафщти хьэдэхэр. Ди къалэн нэхъапэр Ахэр дгъеижу щIэтлъхьэжыныращ. (Кентрэ Эдгаррэ яжриIэу) Мы хэкур къыхэсшынымкIэ мыгъуагъэм, Ныбжьэгъухэ, сыфщогугъ дэIэпыкъуэгъуу. Кент Сахуейкъым, зиусхьэн зызгъэгувэну, Пащтыхь къыспэплъэм и гъуэгу сытеувэнущ. Эдгар Сыт хуэдэ гуауэм къимыщIми псэр Iэхъулъэхъу, Дишэну дяпэкIэ зэманым дещI Iэпэгъу. Тхьэмадэм и щхьэ мыгъуагъэм хуигъэщхъакъым, Апхуэдэр дэ пщIыхьэпIэуи тлъэгъуакъым. (ХьэдэщIэлъхьэ марш къоIу). Псори йокI. Пащтыхь Лир ЗэзыдзэкIар Мысачэ Петрщ Япэ Iуэхугъуэ Япэ теплъэгъуэ Пащтыхь Лир и дворецым щыщ троннэ залырщ. Кент, Глостер, Эдмонд сымэ къохьэ. Кент Сэ си гугъащ Албаным я герцогыр Корнуэлым я герцогым нэхърэ нэхъыфIу пащтыхьым илъагъуу. Глостер Дэри апхуэдэу ди гугъащ. Ауэ иджы, и лъапсэр щигуэшым, псори абы апхуэдизкIэ зэхигъэзэрыхьащи, хэт нэхъыфIу илъагъуми къыпхуэщIэнукъым. Абы и лъапсэр апхуэдизкIэ зэхуэдабзэу игуэшащи, гугъущ нэхъыфIыр къыхэпхыну. Кент Мыр уи къуэ, милорд? Глостер Мыр дунейм къызэрытехьам си Iуэху тIэкIу хэлъщ, сэр. Пэжу, а упщIэм жэуап щесткIэ укIытэм си напэр кърижьыкIыурэ абы тIэкIу-тIэкIуурэ сесэжащи, иджы къысфIэIуэхужкъым. Кент Зыри къызгурыIуэркъым. Глостер Уэ къыбгурымыIуэми, мы щIалэ ахъырзэманым и анэм апхуэдизкIэ псынщIэу сыкъыгурыIуати, лIы игъуэтыным и пIэкIэ щIалэ хъарзынэ игъуэтыгъащ. АбыкIэ сыбгъэкъуаншэрэ? Кент Хьэуэ, дауи узгъэкъуэншэн а псоми я Iэужьу мыпхуэдэ щIалэ ахъырзэман дунейм къытехьауэ. Глостер Сэ мыбы нэмыщI нэгъуэщI зы щIали сиIэщ, сэр, нэчыхькIэ къалъхуауэ, ауэ ар мыбы нэхърэ зыкIи нэхъыфIу слъагъуркъым. Мы Iейр дыпэмыплъауэ дунейм къытехьа пэтми, и анэр тхьэIухуду дахэу щытащ. Ей, мыр къалъхуным и пэкIэ дэ апхуэдизкIэ тхъэжыгъэшхуэ диIати, сэ схузэфIэкIакъым мыбы сызэриадэмкIэ зызымымыусыжын. ПщIэрэ, Эдмонд, мы зиусхьэныр хэтми? Эдмонд Хьэуэ, милорд. Глостер Мыр Кентщ. ЗэгъэцIыху икIи щIыхь хуэщI графым. Си ныбжьэгъу лъапIэщ. Эдмонд Уи щIыхьым хуэфащэу сыкъыщIэкIыну къызогъэгугъэ. Кент НэхъыфIу дызэрыцIыхумэ, сэри укъызогъэгугъэ къысхуэпщI щIыхьым хуэфащэ гулъытэ хуэсщIыну. Эдмонд Сэри слъэкI къэзгъэнэнкъым, сэр, а уи гулъытэм хуэфащэу сыщытынымкIэ. Глостер Мыр илъэсибгъукIэ зекIуэ щыIащ, иджыри мыгувэу ежьэнущ… Пащтыхьыр къокIуэ. Сценэм адэкIэ бжьамий макъ къыщоIу. Лир, Корнуэл, Албан герцогыр, Гонерилья, Реганэ, Корделия сымэ щхьэхъумэхэр ящIыгъуу къохьэ. Лир Француз пащтыхьым уэ къысхуеджэт, Глостер, Бургун герцог цIыкIуми схужеIэ къэкIуэну. Глостер Хъунщ, зиусхьэн, къыпхуезджэнщ сэ тIури. Глостеррэ Эдмондрэ йокI. Лир АтIэ, дэ нобэ тщIащи зы унафэ – Абы гупсэхуу щыгъуазэ фытщIынщ. Къызэфтыт картэр. Мыращ ди унафэр: Ди лъапсэр нобэ Iыхьищу дгуэшащ. Дыхъуащи кхъахэ мылъкур тхузехьэжкъым, Къытхуэна гъащIэ тIэкIум дытыншын ПапщIэ къулыкъур фи пщэ ныдызолъхьэ Фэ, зи щIалэгъуэм – фэрщ ар зыхуэфащэр. Уэ, Корнуэлым и къуэ, Альбан хэкум И къуэ, - фэ тIури щыгъуазэ фытщIынщ Мы дипхъухэм нобэ Iыхьэу ялъыдгъэсым, ИужькIэ дауэ къамыIэтын папщIэ. Француз пащтыхьыр, Бургунд герцог хахуэр – А тIури дипхъу нэхъыщIэм къыщIоупщIэ, Жэуап яттынум тепыIэншэу пэплъэу. АтIэ, аращи, тепщэныгъэ псори – Ди мылъкуи лъапси нобэ фыдотыжри КъызжефIэт, сипхъухэ, моуэ фигу къыдэкIыу, ИкIи ар нобэ зыкIи фымыбзыщIу, Си жумартыгъэр хэт лъысым нэхъыфI, Уэ, Гонерилья, унэхъыжьщ – къыщIэдзэ. Гонерилья ПхуэсщI лъагъуныгъэр си бзэм къитIасэнкъым. Ауэ мы си гум жысIэнщ къыбгъэдэкIыу: Мо уафэ къащхъуэр, дыгъэ нур къытхуепсыр, Хьэуа къабзащэр, фIыгъэр, узыншагъэр, ГъащIэ дахащэу щыдиIэр дунейм – А псори, ди адэ, сэркIэ зыми щыщкъым, А псоми, ди адэ, япэ узогъэщ. НэгъуэщI щIызгъуну – псалъэ къысхуэгъуэткъым. Корделия (щэхуу) Сыт уэ, къоупщIым, жыпIэфын, Корделия? Уи адэр псалъэншэу фIыуэ зэрыплъагъурщ. Лир Мис, плъагъуркъэ мыр: мы псышхуэм щыщIэдзауэ ХъупIи, мэкъупIи, гъавэ щIапIэу хъуар Ууейщ, си тIасэ, уи быни щхьэгъуси Фыпсэу фытхъэжу. АдкIэ сипхъу курытым, Уэращ, Реганэ, сэ жыхуэсIэр, тIасэ, Сыт къыджепIэн? – Дыпоплъэ уи жэуапым. Реганэ Си шыпхъум дэрэ – тIури дурибынщи – Ди адэ лъапIэ, ди пщIэри зэхуэдэщ. БжесIэну псори къиIуэтащ нэхъыжьым, Ауэ абы сэ щIызгъужынур зыщ: ПхуэсщI лъагъуныгъэм ефIэкIын гуфIэгъуэ, Ди адэ дыщэ, сиIэну сыхуейкъым. Корделия Сэращ тхьэмыщкIэр! Хьэуэ. Пэжкъым жысIэр – Си псалъэр мащIэу – гурыщIэр нэхъыбэщ. Лир Нэхъыжьым къылъысам нэхъ мынэхъ мащIэу Уэри мы къомыр, тIасэ, плъыдогъэсыр. Нэхъ щIыфI бгъуэтынкъым – тепсэ псор щобагъуэ, ХъупIэр жыпIэнщи – уеплъым – нэр щоджылыр, Француз пащтыхьыр, Бургун герцог хахуэр Зыхузэпещэу, щауэ псом я плъапIэ Хъыджэбз нэхъыщIэу адэм и гъэфIэным Сыт къыджиIэнур нобэ махуэ лъапIэм? Уи шыпхъухэм нэхъ нэхъыбэ къыплъысын ПапщIэ сыт жыпIэр? КъыщIэдзэ, додаIуэр. Корделия Зыри, ди адэ, жысIэркъым. Лир Ар дауэ? Корделия Аращ, ди адэ, зыри схужыIэнкъым. Лир Зыри жумыIэм – зыри къыплъысынкъым, Къэхъуар сыт, жыIэ, ди гъэфIэн нэхъыщIэ. Корделия Псалъэ дыгъэлкIэ гурыщIэм сеIусэу Сыхуейкъым ар, ди адэ, згъэутхъуэну. Сурипхъущ, уадэщ- а тIум сщащI къалэныр Си боршщ, ди адэ, екIуу згъэзэщIэну. Лир Корделия, гупсыси – зыкъэщIэжи Къэгъуэт жэуапыр – Iуэхур хэмытIасэу. Корделия Ди адэ лъапIэ, гъащIэ къызэптащ, СупIащ, сыбгъафIэу, фIыуэ сыплъэгъуащ. А псом я фIыщIэу стелъщи сэ уи щIыхуэ – ЖыпIэм содаIуэр, фIыуэ узолъагъур. Ауэ апхуэдэу фIыуэ укъалъагъум Сыт зэращIынур си шыпхъухэм щхьэгъусэ? ПхуэсщI лъагъуныгъэм и ныкъуэр лъысыну Си гугъэщ, лIы сыдэкIуэм, си щхьэгъусэм. (къыкIэлъыкIуэнущ)
{ "source": "adygabza.ru", "id": "shekspir-uilyam.txt" }
IуэрыIуатэм игъэбелджылыркъым нартхэм я ныбжьыр, ауэ шэч зыхэмылъыр зыщ: щIэныгъэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, «Нарт» эпосым и купщIэм илъэс минищ нэхърэ нэхъ мащIэ ныбжь иIэкъым. Апхуэдэ ныбжь яIэщ Сосрыкъуэ и хъыбархэми. Сосрыкъуэ къыщыхъуар Псыжь Iуфэщ – хъыбар куэдым къыхощ ар. Балигъ хъуа нэужь, зекIуэ ежьамэ, Сосрыкъуэ щыболъагъу Тэн Iуфи. Тэн е Тэн губгъуэ ущрохьэлIэ адрей нартхэми – Бэдынокъуи, Ашэмэзи, Батрэзи, Къанж и къуэ Щэуеи. Абыи къыщызэтеувыIэркъым: Индыл зэпрокIри шыбэр къызэпраху. Дауи, нарт хъыбархэм Тэни Индыли я цIэ къыхэхуэнтэкъым, пасэрей адыгэхэм ар зекIуапIэ яхуэхъуауэ щымытатэмэ. ЗекIуапIэ яхуэхъуам и закъуэкъым: тхыдэр щыхьэт тохъуэ пасэрей адыгэхэм я щIыналъэм и гъунапкъэм Тэн нэс зидзу зэрыщытам. Псыжь нэгъуэщI лъэпкъхэр къызэреджэр Кубанщ, а цIэми ныбжьышхуэ иIэщ – пасэрей алыджхэм я деж къыщежьащ. Адыгэхэр ПсыжькIэ зэджэ псым пасэрей алыджхэр ГипанискIэ еджэу щытащ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, - Шыпс. ЗэралъытэмкIэ, алыджхэм Псыжь апхуэдэцIэ фIащын щIэхъуар абы и Iуфэр шыбз гуартэ бжыгъэншэхэм яуфэбгъуауэ зэрыщытарщ: дуней псом щыцIэрыIуэ адыгэшым илъэс минищым нэблагъэ ныбжь иIэщ - апхуэдиз хъуауэ зэрахуэ адыгэхэм шы. Нартхэм я лъэхъэнэм дунейм къытехьэри, лIэщIыгъуэ зыбжанэ къызэпичащ адыгэшым, шы лъэпкъ цIэрыIуэхэм ящыщ зы хъун папщIэ. Адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ шы зэрызэрахуам щыхьэт тохъуэ археологхэм щIы щIагъым къыщIахыж пасэрей хьэпшыпхэри пасэрейхэм къызэранэкIа хъыбархэри. Илъэс минитI и пэкIэ щIалъхьауэ щыта синд дзэпщ гуэрым и кхъащхьэм тращIыхьыгъа Iуащхьэм археологхэм къыщIахащ шы щиплIым я къупщхьэ; дауи, пасэрей адыгэхэм шы куэдыкIейуэ Iэджи щIауэ зэрамыхуэтэмэ, я дзэпщым апхуэдиз шы дыщIалъхьэнтэкъым… Тхыдэм къыхэнащ мыпхуэдэ хъыбар: пасэрей дзэпщ цIэрыIуэ Александр Македонскэм (Искандер Зулъкъарнэйн) и адэм, пащтыхь Филипп, Псыжьрэ Тэнрэ къыщищэхугъащ… шы мин тIощI. Пасэ дыдэу цIэрыIуэ хъури, адыгэшым и пщIэмрэ и уасэмрэ зэи ехуэхыжакъым, абы щыхьэт техъуэфынущ мы зы щапхъэри: шы ящэхун щхьэкIэ, сатуущIэхэр щызэхыхьэ кърым бэзэрхэм адыгэшыр нэгъуэщI шы лъэпкъхэм елъытауэ хуэдэ 20-25-кIэ щынэхъ лъапIэт. Пасэрей дзэпщхэм я деж къыщыщIэдзауэ, шуудзэ зыгъэшэс дэтхэнэми адыгэшым пащI щыIакъым, ар щхьэусыгъуэ хуэхъури адыгэшым и лIэужьыр жыжьэ нэсащ, абы илъ ящIэтщ нобэ дуней псом щыцIэрыIуэ шы лъэпкъ куэдым. Пасэрейм мыпхуэдэ псалъэ къызэринэкIащ: цIыхум дамэ къритакъым Тхьэм, дамэ къыщримытым, шыкIэ къыхуэупсащ. Дамэ пэлъытэт шыр цIыхум дежкIэ. Гъуэгуанэм я нэхъ кIыхьри игъэкIуэщIыфырт адыгэшым, еш ищIэртэкъым, зекIуэлIыр гъуэгум къыщытрини къэхъуакъым. Къэрмокъуэ Хьэмид, «Нартхэр» тхылъым къитхыжащ.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "shi.txt" }
Жызумейхэмрэ жыг хадэхэмрэ къаухъуреихьа Неккар псым и Iуфэм Iусщ Германием и Марбах къалэ цIыкIур. А къалэм 1759 гъэм щакIуэгъуэм и 10-м къыщалъхуащ Германием и лъэпкъ усакIуэшхуэ Иоганн Кристоф Фридрих Шиллер. И сабиигъуэм ар дихьэхауэ едаIуэрт полкым и фельдшеру щыта и адэм езыр зыхэта зауэ зекIуэхэм, унагъуэр зыхуей хуэзэу псэун папщIэ анэм игъэва гугъуехьхэм, куэдрэ Iэпхъуэшапхъуэн хуейуэ къазэрыхудэкIам теухуауэ къиIуэтэж хъыбархэм. УсакIуэм и сабиигъуэр узыщыгуфIыкIыщэн зыхэмылъ жыхуаIэм хуэдэу екIуэкIащ. Абы щыгъуэ Германиер щхьэж езым и щхьэ Iуэху кърихуэкIыж къэралыгъуэ цIыкIуурэ зэпыудауэ щыщыта лъэхъэнэт. Апхуэдэ зы щIыналъэ мыинт Шиллерхэ я унагъуэр щыпсэуа, щхьэзыфIэфI Карл-Евгений герцог залымым и унафэм щIэта Вюртемберг герцогствэри. 1777 гъэм герцогым и унафэкIэ Шиллер зауэ еджапIэ хэхам щIагъэтIысхьащ, иужьыIуэкIэ ар Карл и Академие хъуащ. ЕджапIэм хабзэ ткIий щызекIуэрт. Академием зэрыщеджэри зэрыщыпсэури зауэлI хабзэхэм тетут. Казармэхэм я теплъэ хьэлъэри зауэлI хабзэ ткIийхэри зэран хуэхъуфакъым ныбжьыщIэм и псэр усыгъэм хуэушэным. Шиллер Шекспир и тыгъэхэр дихьэхыу едж, езым и лъэхъэнэгъу цIэрыIуэ Гёте и драматургием кууэ зыхегъэгъуазэ. Академием литературэ лэжьыгъэхэр ебгъэкIуэкIыну хуит ущащIыртэкъым. Апхуэдэхэм тезыр ткIий тралъхьэрт. КIэлъыплъакIуэхэм закъримыгъащIэу, зигъэпщкIуурэ Шиллер усэхэр, пьесэхэр итхырт.I776 гъэм литературэ альманаххэм ящыщ зым къытрадзауэ щытащ Шиллер и IэдакъэщIэкIхэу ди зэманым къэсахэм ящыщ зы усэ «Пщыхьэщхьэ» жыхуиIэр. А зэман дыдэрщ Шиллер «ХъунщIакIуэхэр» драмэми елэжьын щыщIидзар. Шиллер литературэ лэжьыгъэ зэрыригъэкIуэкIым еджапIэм и унафэщIхэр игъэгубжьырт. Аращ Шиллер и диплом лэжьыгъэр, «Философиемрэ физиологиемрэ» жыхуиIэр, мыхъуауэ Карл-Евгений герцогым къыщIилъытар икIи ныбжьыщIэр иджыри зы илъэскIэ Академием щеджэн хуейуэ унафэ щIищIар. Ауэ усакIуэ ныбжьыщIэм и гущIэм щызэхэна усыгъэ мафIэр бгъэункIыфIыныр мытыншу къыщIэкIащ. Хуитыныгъэм хуэпабгъэ, залымыгъэм теплъэ мыхъу усакIуэ щIалэм нэхъри ерыщу елэжьу щIидзащ и гурыщIэхэр къыщиIуэта «ХъунщIакIуэхэр» драмэм икIи ар псынщIэу и кIэм нигъэсащ. Илъагъу мыхъу Академиер къиухри, мазэ зытIу нэхъ дэмыкIауэ, а пьесэр I78I гъэм и накъыгъэм дунейм къытехьащ икIи дунейпсо драмургием и нэхъыфIыпIэхэм халъытащ. I782 гъэм и щIышылэм драмэр щагъэуващ Мангейм – Баден маркграфствэм и щэнхабзэ, экономикэ IуэхущIапIэ цIэрыIуэм. Нэмыцэ обществэм и цIыху пэрытхэм а лъэхъэнэм, Энгельс и псалъэкIэ жыпIэмэ, «зэман нэхъыфI къэкIуэнымкIэ я гугъапIэ закъуэр зыхалъагъуэр литературэр арат». Ахэр дэржэгъуэшхуэкIэ IущIащ Шиллер и япэ пьесэм. Иджыри къыздэсым зыми ямыцIыхуа тхакIуэ ныбжьыщIэр Германиеми, нэгъуэщI щIыпIэхэми зэуэ цIэрыIуэ щыхъуащ. «ХъунщIакIуэхэр» драмэр щхьэхуитыныгъэмрэ абы щIэзэухэмрэ я гимн пэлъытэу еуащ. А лъэхъэнэрщ Шиллер щитхар щхьэхуитыныгъэм щIэзэун гупсысэкIэ гъэнщIа , цIыхубэхэм япхъуэта, гъэпщылIакIуэхэр зыгъэкIэзыза усэ куэд. Ахэр псори къытрадзащ «I782 гъэм и антологие» усыгъэ тхылъым. «ХъунщIакIуэхэр» драмэм и ехъулIэныгъэм нэхъри игъэгубжьащ арыншами, усакIуэ ныбжьыщIэ сампIэимыхьэр зылъагъу мыхъу герцогыр. И пьесэр зэрагъэува щIыкIэм еплъыну Шиллер Мангейм щыкIуам Карл-Евгений ар игъэтIысри, унафэ ткIии ищIащ усакIуэр Вюртемберг герцогствэм и гъунапкъэм ебэкъуэну, апхуэдэ дыдэуи зыгуэр итхыну хуимыту. Шиллер быдапIэ лъэхъуэщым ираубыдэнкIэ шынагъуэ къыкъуэкIащ. 1782 гъэм и фокIадэ мазэм пщыхьэщхьэу Шиллерэ и ныбжьэгъу музыкант Штрейхер Андреасрэ кIуасэри щэхуу Мангейм кIуахэщ. Мангейм театрым и директор, егъэлеяуэ зызыгъэпагэ барон фон Дальберг «ХъунщIакIуэхэм» спектаклым фейдэшхуэ къыхуихьами, абыхэм нэщхъыцэущ къазэрыIущIар. «Фиескэ Генуе щищIа зэгурыIуэныгъэ щэхур» пьесэщIэм Мангейм театрым и актерхэм къазэрыхуеджами, Шиллер дэрэжэгъуэ нэхъ къритакъым. Актерхэм пьесэр ягу ирихьыщакъым. Шиллер и Iуэхум узыщыгуфIыкIын хэлътэкъым – ахъшэншэрэ зыкъуэпсэукIын имыIэу, и закъуэу хамэ къалэм къыдэнат.Шиллер и ныбжьэгъу Штрейхер иIыгъа ахъшэ тIэкIур куэдрэ урикъунт, псынщIэу къаIэщIэухащ. Аванс къритыну Дальберг елъэIуат, ауэ къигъэщIэхъуащ. Сытми, зыкъомрэ гугъу дехьауэ, Шиллер «Фиескэ» пьесэр къытрыригъэдзащ, ауэ абы къыпэкIуа ахъшэр и щIыхуэхэр итыжыну ирикъуа къдейщ. И насыпым кърихьэкIри, Шиллер Мангейм щыхуэзащ пщы гуащэ фон Вольцоген, ар Шиллер Академием къыдыщIэса и ныбжьэгъу гуэрым и анэт. ЦIыхубзым Шиллер иригъэблагъэри, усакIуэр абы и къуажэм кIуащ икIи, Карл-Евгений герцогым зыкъримыгъэщIэн щхьэкIэ, и унэцIэр ихъуэжащ. Иджы, ахъшэ къэлъыхъуэным хэмытыж Шиллер хуиту литературэ лэжьыгъэм зритащ. А зэманырщ абы щитхар хъыджэбз къулейсызым уэркъ цIэрыIуэм хуищIа лъагъуныгъэ насыпыншэм теухуа «Луизэ Миллер» пьесэщIэр. А лъэхъэнэм нэмыцэ актерхэм я нэхъ лъэщ дыдэу щыта Иффланд и чэнджэщкIэ Шиллер «Бзаджэнэджагъэрэ лъагъуныгъэрэ зыфIищыжа «Луизэ Миллер» I784 гъэм ягъэуващ. Энгельс зэрыжиIауэ щытащи, «Бзаджэнэджагъэмрэ лъагъуныгъэмрэ» феодал властхэм щысхьыншэу ягъэпщылI цIыхубэхэм хуитыныгъэ гуэри зэрамыIэм теухуа япэ политикэ драмэщ». Шиллер и творчествэм, абы урыс тхылъеджэм дежкIэ иIэ мыхьэнэм тетхыхьахэщ Белинский, Добролюбов, Чернышевский, Салтыков-Щедрин сымэ. УсакIуэ уахътыншэм и тхыгъэхэр урысыбзэкIи, ди къэралым щыпсэу лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ зыбжанэм я бзэхэмкIи зэрадзэкIащ. Иужьрей илъэсхэм Шиллер сымаджэрилэурэ екIуэкIащ. И тхьэмбылым щIыIэ хыхьэри,и ныбжьыр илъэс 45-м иту усакIуэр I805 гъэм и накъыгъэм дунейм ехыжащ. Уэрэзей Афлик ЗэрыпхъуакIуэ Мэпхъэр си губжьыр уи лъэужьым тету, ЗэрыпхъуакIуэ, Къуихыну и нэлатыр И пащхьэм уиту Ди Уахътыншэ КъэгъэщIакIуэм! Мазэгъуэ изыр щхьэщысыкIыу щыгум, Вагъуэ бжыгъэншэхэр къыщиплъэкIэ си нэгум, ПщIыхьэпIэ хъарпшэрхэм, сыкъауфэрэзыхьу, Уи теплъэр, зэрыпхъуакIуэ, къысщхьэщахьэ, Сигъэгузавэу шынагъуэм. ЗыкъызощIэжри абы щыгъуэм, Уи теплъэр сщIыуэ хэутэн, ИзоIуэ ину жэщыбгым и тхьэкIумэм ЖысIэхукIэ си гур къезыгъакIуэ Уи цIэ угъурсызыр, зэрыпхъуакIуэ! Жьэдилъэфэным хуэдэу бгыжьыр, Толъкъуным ину иущIауэ и жьэр Сэ къысподжэж, борэнри Iэлу Мэдалъэ, къишэу уи Ажалыр, Лейр къпщIамыгъакIуэу, Уахьыну ахърэт жагъуэм, ЗэрыпхъуакIуэ! Месыр, месыр, къыпхетхъыкIыр, ДжатэпэкIэ и гъуэгур пхищIыкIыу, ИкIи мэкъугъыр, (ар зыхэпхрэ ди Щхьэщыгум къитым?): «Феуэ, фукIхэ псори, фщIауэ егъу!» ЗауэлIхэми ящIэжыркъым гущIэгъу. УIэгъэ гызхэм кърагъакIуэ гур КIийхэм я макъым зэщIищтащ уафэгур, Фыкъыхэплъи пшэ зэрызехьэхэм, Фи бын зэрыукIыжхэм феплъыт, ди тхьэхэ, Тхьэхэ, ефхыну фи нэлат Залымыгъэм куэд щIауэ къилэжьат! Залымыгъэм пагэу ечыр и лъэр, Къыхех бахъэр яукIахэм я лъым, Къемэт къэблагъэм и хъыбарегъащIэу ЗэрыпхъуакIуэм щхьэщэ худагъэщIыр! ЗэрыпхъуакIуэ, зыхэлъыр сыт уи щэхур- И хъуэпсапIэр залымыгъэм? Къыщыбгъэбатэу къырыр уафэ нэхум, Къуршыбгъэр бгъэшынэн уи гугъэ? Уи текIуэныгъэм уигъэчэфу, уригушхуэу, Къэбзэуахэм ухэту я сахуэм, Ухэплъэныр бгъэлыда мафIэсым Ара уи хъуэпсапIэр зэгупсысыр? Дуней кIэзызым и фэр Шэхуу пихуауэ залымыгъэ зефхьэм Къыфхуэлъагъунукъым пщIыхь нэхуу Жэнэт хадэу ди гум къыщыгъагъэр щэхуу! Кхъухь вгъэлъэта хуэдэ хьэрш гъунапкъэншэм Зывгъэтету хэвутIыпщхьэм щIы хъурейр, Къыфщыхъужынущ фи зэфIэкIыр щIэншэу, Фи IэмыщIэм ивгъэтIысхьа дунейр! Уафэ тахътэм фыкъитIысхьарэ , Зыкъэфлъытэжу Уэхьийуэ, Фыкъыхуеплъыхынущ жыжьэу щIыгум, Фрипагэжу ар зыхэвдза бэлыхьым! Мывэ къебдзыхым къыр абрагъуэм, Икудэм жэнэт хадэм и гъэгъа алэрыбгъур, Хамэ къэлащхьэхэм я мафIэу Щыбгъэужьыхыжым уэгум вагъуэр, МафIэ гъуэжькуийм иуфэм уэгур, МафIэр къэпфыхьу къогуфIыкI уи нэгур! УщIохъуэпс мылIэжыныпсэ – Дуней псом щIрет абы и уасэр! Пэжщ, зэрыпхъуакIуэ, ухъунущ уэ уахътыншэ! Абы щогугъыр, аращ зэжьэр лIыжьыр, Йожьэ фызабэхэр, сабий зеиншэр Уахътыншагъэр кърикIуэным уи Iэужьым. Дэплъейт, зэрыпхъуакIуэ, уэгум, ажал щыхэпсэ губгъуэу Псы папщIэу лъы зыщIэбгъэлъадэм зыщеIэтыр щыгъуэм, Макъ мелуанхэм зэщIэкъугъэу, ИращIэкI уи IэрыкIым хьэдагъэ! Абы нэхъри егъэгуфIэ нэгур, бгъэм имыхуэжу кърегъауэ уи гур! Нэлату къуахыр зэхыхьэжрэ жьыбгъэу уэгум Нилъадэрэ пшэ фIыцIэхэр зэщIыгъуу Зэхуахусыжмэ къаIэту уафэгъуагъуэр, Я къару шынагъуэр къыпщхьэщахьэм, Къплъагъужынут уэ Олимп и Iуащхьэр, ИкIи уахьынут Эребыщхьэ! Жьыбгъэ къыкъуэум удэкIэзызу зыплъыхь, зэрыпхъуакIуэ, Уи гъуэгу сабалъэр пхуэхъужынущ щхьэкIуэ, Гъуэгум телъ яжьэр уи къуэшхэм я сахуэщ, Ажал тхьэлъэIукIэ ягъакIуэу махуэр. Псэхэр къигъэтэджыжу, къемэтым къоджэм Тхьэр, МафIэ лыгъэу уихьэнущ и пащхьэм. КъыхэтэджыкIхэурэ мафIэсым Къоджэжынущ уэ бгъэнахэр псэуэ. А макъхэр жэщым хэжэбзэжу, Олимп щыгу дахым къемэт тэрэзэр, Зэпашэчыжри щыблэжьауэ хъуар мы гъащIэм, УздагъэкIуэнум и унафэр ящIыр. ГущIэгъуншэу бгъэна псэхэм я гъуэгуанэм Утехьэнущ, ущышынэу я лъыр ящIэжыным Зыри зи нэIэ щIэмыкI дыгъи, Мазэгъуэ жэщым и мазэ бзыгъи. Олимп щыгу щызэхуэса псэхэр, мелыIычхэр, ЩIылъэм и тафи, и бгылъи, ЗэщIэтэджэнущ щIэхъуэпсу уи лъым. Щадзынущ абыхэм щысхьыншэу щыхупIэм Уи тахътэ апхуэдизу бгъэлъапIэр. Абдеж, Олимп щыгум, Алыхьым и пащхьэм, УщылъэIуэфынукъым упыхьэу: ГущIэгъу къыпхуащIынукъым, лейр къыпщIэкIуэу, Къыпхуэгъунукъым зыри, зэрыпхъуакIуэ! Си бгъэм мафIэ щызэщIэплъэм Къуих нэлатыр тэрэзэм тралъхьэм, Ещхьу уафэр къехуэха мы щIылъэм, ЕщIэнущ тэрэзэр, жыхьэнэмэмкIэ уихьу. ЗэщIэнщ итIанэ хъуэпсапIэу сиIа псор, Къыптехуэнщ нэлату къуихар псэм. ИкIи зэгъэжауэ си гур, ГуфIэгъуэр щысIэтынщ мы щIыгум! 1777 Нэхумрэ хуабэмрэ Дунейм къыщытехьэкIэ цIыхур, ИгъэгуфIэу гугъапIэ нэхум: Щилъагъуну ихъуреягъкIэ И хъуэпсапIэфIхэр щIэкIыу нэгум ЩилъагъункIэ гугъэу мы щIыгум - Мурад дахэр щыушэу и псэм, Прехьэжьэ пэжым фIохъусыр. Ауэ куэд дэмыкIыу, къызэрищIэу Ихъурегъыр пцIыIуэпцIышэ защIэу. Мурад ещIыр химыгъэтIасэу, Iэмал иIэм къригъэлыну и псэр, И мыл чэщанэ пагэу закъуэныгъэм IункIыбзэ етакIэ щIегъэпщкIуэж и лъагъуныгъэр. Пэжым и нурхэр къыщIолыдыкI чэщанэм, Дэтхэнэ бзийри дэп жьражьэу къызэщIэнэу. И насыпщ дуней щэхур къэщIэным, И гур щIимыту къызыхуэнэм. Мы ди гъащIэр мыл щIыIэ зыхэсым Уи хъуэпсапIэм и нурхэр хэгъапсэ! Бгъуагъымрэ кууагъымрэ Зызыгъэпакъэ куэд ецIыхур гъащIэм, Псалъэр зэрыщагъэтыж ямыщIэу, Я Iуэху зыхэлъи зыхэмылъи тепсэлъыхьу, Лажьэ зимыIэм мыхьыр ирагъэхьу. УедаIуэмэ абы я жыIэм, Къыпщыхъунущ фIы дунейм щымыIэу. Апхуэдэхэр йохыжыр дунейм щэхуу, Псэуми лIами зым къафIэмыIуэхуу. ЩIэхъуэпсам ищIыну унагъуэ, Адэ хъуным щIэхъуэпсу, Пасэу къэзышам щхьэгъусэ ЗигъэпIииныр фIэуэиму, Зэхуехьэс псэуху къарухэр щыму. Жыг лъэдийр докIей уафэм нэсу, Къудамэ щхъуантIэхэм дыгъэпс къапхыпсу; Тхьэмпэхэр мэсыс, сагъызыр къапхывыкIыу, Ауэ жыгым пхъэщхьэмыщхьэ къыпымыкIэ. Жэщыр теIубауэ жылэр халъхьэм щIым Жыг къокIыкI, телъу мэзым и напщIэм. 1797 ГугъапIэ Дунейм тетыху мэгугъэ цIыхур ГъащIэр къигъэIурыщIэну. Игу ирелъхьэжыр мурад нахуэу Къыхуиухар насып натIэ ищIыныр. Насыпыншагъэм и лъэужьым Насып къиувэурэ зэкIэлъхьэужьу Махуэхэр макIуэ, ежьэу нэхъыфIым, КIапсэлъэрышэрэ загъэIумпIафIэу. ЦIыхур гъуэгум тезышэр гугъапIэрщ, ЗыгъэнэщхъыфIэр аращ сабийр, ЩIалэр егъаплъэ гъащIэ дыгъапIэм, Щигъэгугъ защIэу и дыгъэ бзийм. Уахътыншэу цIыхум кърит гуращэр Йогъуалъхьэр лIыжьым щIыгъуу кхъэ мащэм. ГугъапIэ нэпцIкъым сабийм и гъусэу Гущэм хэлъ гугъэр щIыхыхьэр и псэм. Тхьэгурымагъуэу къыджеIэ ди гум Дынэсыфыну насыпым и щыгум! Абы ди гущIэм мафIэ щищIыр Къытхуоблэр ужьыхыж имыщIэу. 1797 Хъыджэбзым и тхьэусыхэ Жыгей тхьэмпэхэр мэIущащэ, Пшэхэр щхьэщосыкIыр уэгум, Псы Iуфэм Iусу нэщхъей пщащэм Псым и толъкъунхэр къопэщэщ и лъэгум. Пшапэ зэхэуэм Хощатэ пщащэр хьэлъэу Нэ къэплъыжьахэм Нэпс къыфIыщIолъэлъыр. «ЯуIащ си гур, СфIэIэфIыжкъым дунейр, Иджы щыIэжкъым Зыри сызыхуей. Еджэж уи пхъум и псэр, ди Тхьэ лъапIэ, Къыслъысыр сэ мы щIым къызгъэщIакIэщ, СыщIэпсэуа си лъагъуныгъэр яукIакIэщ». «Ежэхми нэпсыр IэубыдыпIэншэу, Зыри лъэмыкIыну къарууншэщ. ЛIэжахэм зыхахынукъым уи гызыр, КъысхуэIуати уи гур зыгъэузыр, ХуэсщIэфынур уи лъагъуныгъэ яукIам, Сыпхуэхъунщ сэбэп зэрысхулъэкIкIэ». «Хуейми ирекъарууншэ Си нэпсыр, кърежэх IэубыдыпIэншэу Зэгуэр лIэжахэм я псэр Къыхуэмыгъэушу! Ауэ, ди Тхьэ лъапIэ, мыр зэгъащIэ, АбыкIи дуней псом хъыбар егъащIэ, Лъагъуныгъэ яукIам иужькIэ Псом нэхъ IэфIыр абы нэпс къыпфIыщIигъэкIырщ». 1798 Псэм и макъ Дэнэ сыщыIэ, сыт си лажьэр, Къыпхуэлъагъужыркъэ си ныбжьыр? СыпсэуакIэ, лъагъуныгъэ сщIа, Си фарз псори щIым щызгъэзэщIа? УщIэупщIэнщ макъамэр зэрылъэлъу Пхуэусэу щыта бзухэм я пшыналъэм. НыжаIысри я уэрэдыр, Бзухэр хыхьэжакIэщ гъэдэ-щIыдэм. Къэзгъуэтыжа сфIэкIуэдауэ щытар? Гъусэ щыхуэхъужа абы аргуэру си псэр, Уагъэгузаву уамыгъэщатэу, Щхьэусыгъуэншэщ мыбы нэпсыр. Фи дежи щыплъагъунущ уэ ди ныбжьхэр, Сэ сэщхьу пщIамэ уэри лъагъуныгъэ. Абы си адэм и напэр щыкъабзэщ, БэIутIэIухэм япэIэщIэу и псэр. Абы къыщагъапцIэркъым адэм и гугъапIэр, Щэхуу вагъуэм нэр ягъэупIэрапIэу; Дэтхэнэ гугъапIэми иIэжщи пщалъэ, УалъоIэсыр, фIэщхъуныгъэ пхэлъым. Хьэрш гъунапкъэншэм и гъуэгу уахътыншэхэм Къатыбогъуатэр псоми я жэуап. ЗэIыпщIыкIыж аргуэру шэч къыщIэпхьхэр; Гупсысэ куу ящIэлъщ сабийм и пщIыхьхэм. 1802 Псы Iуфэм Iус ныбжьыщIэр Псы Iуфэм Iусу щауэ ныбжьыщIэм Губгъуэм и нэщхъейхэр Iэрамэу зэхеухуанэ, КIэлъоплъ, гъэгъахэр я архъуанэм хащIэу ЩIаупскIэу зэрахьым толъкъунхэм. Блолъэтхэр махуэхэр псыежэхыу, Тенджызышхуэм хуэпIащIэ пфIэщIыну, Мо гъэгъа хуэлэжхэм ещхьу Си щIалэгъуэри зэманым ехьыр! Гъатхэ къэсам зыIэпишэу ГуфIэжу псоми уэрэд къыщрашкIэ, ЩIэнэщхъейм и псэр ныбжьыщIэм, СыволъэIур, фыщIэмыупщIэ. Макъ минкIэ зэщэжьууэ пшыналъэ Къыщегъэушри си псэм гъатхэм, Гур, хуэмыIыгъыжу бгъэ зэрылъым, ЕгъэхыщIэ нэщхъеягъуэ хьэлъэм. Къызиткъым гъатхэм дэрэжэгъуэ, СыщIымыгъумэ фIыуэ слъагъум. Сыхуэзэшу IэплIэр щыхуэзущIым, МэкIуэдэжыр здэкIуар сымыщIэу. Мыбдежым щызыхэзэмыщIэу гуфIэгъуэ, Къоуэ гур имыIэу тепыIэгъуэ. «СынолъэIур, си псэ, къэбгынэ, Бгы лъагэм пагэу тет чэщанэр. Гъатхэм къысхуихьа удз зэмыфэгъухэр, Уи лъагъуэм тезубгъуэнущ алэрыбгъуу. УщысщIыгъум нэхъ нэху мэхъур псыр, Бгы уэрэдыр нэхъ къыхохьэ псэм. Унэ зэври нэхъ Iэхуитлъэхуитщ ЩыщIэсым фIыуэ зэрылъэгъуаитI». 1803 Бгы уэрэд ЩыхупIэ лъагэм и нэзым Iуту йожэкIыр лъагъуэ бгъузэр; Иныжьхэм яхъумэ а лъагъуэр, Ажалми щищIащ абдежым абгъуэ. Къыгуэун хьэзырщи мывэжь абрагъуэр, Умысакъмэ, гъуэгур шынагъуэщ. Лъэмыжым, пхъэхьу гъэшауэ, ЗэпещIэ я кIапэхэр къуршхэм; Лъэмыжыр трилъхьэркъым лIэныпсэм, Уахъты зиIэр абы пхуеIусэн? И лъабжьэм щIахыр псыр толъкъунхэм, Лъэмыжыр трахыну щIэкъухэу. Абы ублэкIмэ, зэIухауэ хъыжьэу Куэбжэ щытым щызэблоухэр ныбжьхэр; Абыи уаблэкIыфмэ, ауз дахэщ, ГуфIэжу бжьыхьэр щыдэджэгуу гъатхэм. Псэр псэухункIэ хъуапсэу зыхуэпIащIэ! ЛъэкIамэ, гъащIэр къэлъэтэнут мыбы занщIэу! ПсыежэхиплIым я макъыр щогъуагъуэ- КъыздикIыр зыми къыхуэмылъагъуу; Зыр мажэ къуэкIыпIэмкIэ, зыр къухьэпIэмкIэ, ХуэпIащIэу, жэщыбгым, хуэпIащIэу шэджагъуэм, Зэгъусэу къыщIэжми, щIым къщытехьэкIэ, Зэхожри, щхьэхуэу къалъыхъуэ я лъагъуэр. Зэхыхьэжынукъым псыхэр игъащIэкIэ, КъикIуэтыжынукъым зэи псыкIэмкIэ. Жыжьэу, жыжьэу уафэ тхьэху лъащIэм ЩIэт къыритIым я щхьэщыгухэр пшэхэм хащIэ, ЙолъэгэкIыр къырхэр щIылъэм щызэрахьэм; Пшэ дыщафэхэм къыритIыр къафыхьыр. Хьэуар макъ гуакIуэм зэгуигъэзу, Уэрэд кърашыр хур хъыджэбзхэм. Иджыри къэскIэ зыми и лъэр Нихусыфакъым абы, икIауэ щIылъэм. Нэхутхьэхуу,нурыр нэгум къищу, Тахъты уахътыншэм исщ пащтыхь гуащэр; И пащтыхь пыIэм хэс налкъутналмэсхэр НэкIу дыхьэрэным зэщIэлыдэу щIопсэ. Дыгъэ зыри щыхуэныкъуэкъым абы, Къепсу щытми,къыхимыхыу хуабэ. 1798 ЗэзыдзэкIар Уэрэзей Афликщ
{ "source": "adygabza.ru", "id": "shiller-fridrikh.txt" }
Фырэ Анфисэ "Адыгэ псалъэ" газетым щигъэхьэзыр напэкIуэцIым ипкъ иткIэ ЩIыгум щыплъагъур Iэгум икIуадэмэ Дыкъэзыхъуреихь дунейм къыдгурымыIуэрэ хэдмыщIыкIыу хэлъыр гъунэжщ. Псалъэм папщIэ: 1. Ди ЩIым ещхь, цIыху зыщыпсэуфын планетэ бжыгъэншэхэр хьэршым щыкуэдщ. Зы щапхъэ. ЩIыр Дыгъэм зэрыпэжыжьэм хуэдизкIэ пэжыжьэу, Кеплер 22-б жыхуиIэ планетэр и вагъуэм епхащ. Абы къокI а планетэм и щIыIагъ-хуэбагъкIэ, и зэхэлъыкIэкIэ, давленэкIэ ЩIым и «тIолъхуэныкъуэу». Ауэ щIэныгъэлIхэр нобэми зодауэ Кеплерым гъащIэ щыIэрэ щымыIэрэ яхузэхэмыгъэкIыу. 2. Чилирэ Перурэ зыщызыубгъуа Атакамэ къумым зэи уэшх къыщешхакъым. Антарктидэ и гъущапIэхэми илъэс мелуан бжыгъэ хъуауэ уэшх тешхакъым. 3. Шэ къызыщIэкI псэущхьэхэм нэхъ цIыкIу дыдэу яхэтыр Азием щопсэу. Ар «кхъуэпэ дзыгъуэнэф» жыхуаIэращ. Абы сантимери 3-3,5-рэ и инагъщ, грамми 2 нэхъыби хъуркъым. 4. Дунейм псэущхьэ нэхъ ин дыдэу тетыр фщIэрэ? Пыл? Хьэуэ! Iэгъэбэгухэращ. Ахэр хьэкIэкхъуэкIэхэми къэкIыгъэхэми хабжэркъым, атIэ гуп щхьэхуэ ящIауэ, тIуми щымыщу къалъытэ. I992 гъэм щIэныгъэлIхэм къахутауэ щытащ зи лъэхъыцыр гектарым нэблагъэ Iэгъэбэгу. ЩIыгум щыплъагъур Iэгум икIуадэмэ, абы къикIыркъым и лъэхъыцри цIыкIуу! 5. Индонезием щыIэ Тамборэ вулканыр I8I5 гъэм къикIауэ щытащ. Ар апхуэдизкIэ шынагъуэу къэуати, и макъыр километр миниткIэ зэхэпхырт, икIи баллу 8 хуагъэфэщат. А насыпыншагъэм цIыху мин 71-рэ хэкIуэдащ, Тамборэ вулканым а и къикIыгъуэм нэхъ шынагъуэ тхыдэм хэмытауи къалъытэ. 6. Бгыхэр дэнэ къыздикIыр? ЩIы лъабжьэр зокIуэ, гу лъыдмытэми. ЩIым щIэлъ тектоническэ плитэхэр щызэбгъэдэкIуэти щызэбгъэдэкIуати щыIэщ. Ахэр щызэбгъэдэкIуатэкIэ, я зэпылъыпIэ хъуар щIы щхьэфэм къыдрехуей икIи бгы мэхъу. Псалъэм папщIэ, Индиемрэ Тибетрэ я зэхуаку дэлъ, километр мини 2900-кIэ зызышэщIа Гималайхэр илъэс мелуан 40-50 ипэкIэ къэунэхуауэ щытащ. 7. ЩIым и континентхэр зэгуэр зы хытIыгушхуэу щытащ. Ар нэрылъагъущ континентхэр компьютеркIэ зэхэбгъэувэмэ – я гъунапкъэхэр зэжьэдоувэ, зэгуэр зэрызэгуэчам и щыхьэту. Илъэс мелуан 200-кIэ узэIэбэкIыжмэ, щыIар - ПангеякIэ зэджэ континент закъуэращ. ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, зэгуэр континентхэр аргуэру зэхыхьэжынущ. 8. Мазэр дэнэ къыздикIар? Еджагъэшхуэхэм къызэралъытэмкIэ, илъэс мелард бжыгъэкIэ узэIэбэкIыжмэ, вагъуэижхэмрэ планетэхэмрэ кIэщI-кIэщIыурэ зэжьэхэуэу щытащ. ЩIым къыгуэудами, ЩIым къыжьэхэуа вагъуэижым щыщми и пэжыпIэр гурыIуэгъуэкъым, ауэ Мазэр зыгуэрым и къутахуэуращ. 9. ЩIым дыщэр куэду щIэлъщ, ауэ абы унэсыну гугъущ. Дыщэм и нэхъыбапIэр хым хэшыпсыхьащ, къэнэжар хы лъабжьэм щIэлъщ. ЗэрыжаIэмкIэ, хы лъабжьэм щIэлъ дыщэр къыдрахьеифатэмэ, дунейм цIыхуу тетым тебгуашэмэ, дэтхэнэ зыми дыщэ килограмми 4,5-рэ къылъысынут. 10. ЩIым и процент 70-р псым еубыд. А псым щыщу цIыхум иджамрэ игъэунэхуамрэ проценти 5 ирикъуу аращ. Адрейм нэсыфыркъым. 11. Щыблэмрэ уафэгъуагъуэмрэ псоми фIыуэ доцIыху. Щыблэр мэхъуэпскIри, итIанэ уафэгъуагъуэр къэIуу аращ. Тлъагъумрэ зэхэтхымрэ щIызэтемыхуэр нэхумрэ макъымрэ зэрызаужьым я псынщIагъэр зэрызэхуэмыдэращ. Щыблэр зэ хъуэпскIамэ, хьэуар градус мин 30-м нэс къигъэпщтырыфынущ. Къауэр щыблэракъым! Щыблэр къаблэуращ. Къауэр хьэуа къэплъаращ. 12. ЩIыр сытым щыгъуи удзыфэу щытакъым. Япэ микробхэр къыщыунэхуа лъэхъэнэм ди ЩIыр шэкъафэу щытауэ жаIэ. 13. Вулканхэм я закъуэкъым къауэр… Гуэлхэми яIэщ апхуэдэ щытыкIэ. Камерун щыIэщ апхуэдэ гуэл зыбжанэ. ЗэрыжаIэмкIэ, ахэр вулканым и щIыгум итуращи, гуэл лъабжьэм углекислэ гъуэз щызэхуехус. А гъуэзыр зэ къауэмэ, Iэгъуэблагъэм щыIэу зы псэущхьэ къелынукъым – гъуэзым итхьэлэнущ. 14. Нэхъ куу дыдэу ЩIым иIэр сыт хуэдэ щIыпIэ жыпIэмэ, ар Мариинскэ кумбрауэ къалъытэ. Ар метр мини I09I6-м щыIэщ. Псы лъабжьэ мыхъуу, щIыпIэ нэхъ куур – метр мини 2555-м ноблагъэ. ЗдэщыIэр Антарктидэращ, икIи мыл лъабжьэм щIэлъщ. 15. Мывэхэми «къакIухь». Калифорние щыIэ Рейстрек-Плайе гуэл игъущыкIам и щIэм илъ абрэмывэхэр мэхъей. Ар къызыхэкIыр къахуэмыщIэу, цIыхухэм хъыбар гъэщIэгъуэнхэр кърахьэкI. Ауэ, щIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, гуэл лъабжьэр псыIэ хъуа нэужь мывэхэр ецIэнтхъуэкIыу аращ, армыхъумэ, къакIухьыркъым. 16. Мазэм къищынэмыщIа, ЩIым иджыри зы гъусэ иIащ. А тIур зэжьэхэуэжу зыр щэщауэ, Мазэм иIэ кумбышхуэри абы и Iэужьу къалъытэ. ЩIым и гъусэ щэщам и зы Iыхьэу къыщIэкIынущ нобэкIэ Мазэ етIуанэу ябжыр. Абы и инагъыр зы метрым нэсуращ, ауэ зэпымычу ЩIым и орбитэм иту къыдоджэрэзэкI. ЩIым пэгъунэгъуу блэлъэт вагъуэижхэр зэщIишэрэ, орбитэм (нэхъыбэ дыдэу) мазибгъукIэ иту, ЩIым щэнейрэ къекIуэкIыу зыбгынэжхэри щыIэщ. 17. Джомолунгмэ (Эверест) бгым нэхъ лъагэ щыIэкъым, абы и лъагагъыр метр мини 8848-рэ ирокъу. Ауэ Эверест лъабжьэ иIэщ. А лъабжьэр хиубыдэу къапщамэ, метр I7I70-рэ хъунут. 18. ЩIым и гъунэ хъужыр сыт? Антарктидэр щIым и гъунэу къалъытэ. Абы щызэхуэхьэсащ дуней псом псы къабзэу тетым и процент 70-р, мылу процент 90-р. 19. ЩIыпIэ нэхъ щIыIэ дыдэри Антарктидэщ здэщыIэр. I983 гъэм абы градус 89,2-рэ и щIыIагъыу къыщигъэлъэгъуауэ щытащ. 20. ЩIыпIэ нэхъ хуабэ дыдэр дэнэ жыпIэмэ, ар Ливиеращ. I922 гъэм и хуабэр градус 57,8-м щынэса къэхъуащ. 21. ЩIыхъей зэрыщыIэм хуэдэу, Мазэри мэхъей. 22. ЩIэныгъэлIхэм ЩIым и ныбжьыр къахутащ – илъэс меларди 4,54-рэ. Тетис тенджызыр Курыт еджапIэ щIэс дэтхэнэ зы ныбжьыщIэми къыбжиIэнущ ЩIым тенджызиплI зэриIэр. Кавказым ахэр фIыуэ пэжыжьэщ. Ауэ куэдым ящIэкъым Кавказыр езыр пасэрей зэман жыжьэм тенджыз лъабжьэу зэрыщытар. Ди щIыналъэр къапщтэмэ, псыхъуэхэм пасэрей псы псэущхьэхэр зыхэжыхьа мывэ гъэщIэгъуэнхэм уащрохьэлIэ. Псалъэм папщIэ, мэл бжьакъуэм хуэдэу шыхьа аммонитхэр, шэ папцIэм ещхь белемнитхэр, къинэмыщIхэри. Апхуэдэщ Европэмрэ Азиемрэ зэрыщыту. Ахэр къыздикIам и жэуап къалъыхъуэу, еджагъэшхуэхэм къэхутэныгъэ куэд ирагъэкIуэкIащ. ИкIэм-икIэжым, псори арэзы зэдытехъуащ илъэс мелардкIэ узэIэбэкIыжмэ, пасэрей континентхэу Гондванэрэ Лавразиемрэ я зэхуакум Тетис зыфIаща тенджыз абрагъуэ дэтауэ. А зэманым континентхэр кIэщI-кIэщIыурэ хъейт, «къакIухьти», Тетисри и пIэ иттэкъым. Ауэрэ, хы зыбжанэу зэкIэщIэжащ. Тенджызым зихъуэжыху къызэщIиубыдэ щIыпIэм теухуауэ цIэ зэхуэмыдэхэр фIащащ щIэныгъэлIхэм. · Прототетис – илъэс мелуан 850-рэ ипэкIэ щыIа тенджыз; · Палеотетис – илъэс мелуан 320-260-рэ ипэкIэ щыIар; · Мезотетис – илъэс мелуан 200-66,5-рэ ипэкIэ къэунэхуар; · Неотетис – илъэс мелуан 66-I4 ипэкIэ щыIар; · Сармат хы – илъэс мелуан I3-I0-м ипэкIэ къэунэхуар. Сармат хым Кърымымрэ Кавказымрэ къызэщIиубыдэу щытащ икIи, Дунейпсо тенджызым къыхэщхьэхукIри, нобэрей Средиземнэ, Каспийскэ, хы ФIыцIэ жиIэу зэкIэщIэжащ. Сармат хыр апхуэдэ щIыкIэу зэпыуда щIэхъуам и щхьэусыгъуэу къалъытэр Кавказ къуршхэр къызэрыдэкIуеяращ. Сыт уэшхыр зищIысыр? Иджыпсту бжьыхьэщ, уэшххэри нэхъыбэ хъунущ. Илъэсым и кIуэцIкIэ дунейм плIэ зызредзэкI: дэтхэнэ зыми и мыхьэнэ иIэжщ, къалэн егъэзащIэ. Гъатхэм дунейр мэгъагъэ, гъэмахуэм мэбагъуэ, бжьыхьэм хугъуэ-фIыгъуэр кърахьэлIэжри, щIымахуэм зегъэпсэху, къаруущIэ щIэлъу аргуэрым гъатхэм къызэщIэгъэгъэн хуэдэу. Уэшхыр зэпымыу щыхъуам деж цIыхухэм яфIэфIыркъым. АтIэ, сыт ар къыщIешхыр, дэнэ къыздикIыр? Тепщэчым псы тIэкIу ипкIэрэ махуэ зыбжанэкIэ щыбгъэтмэ, йокIуэдыкI. Ар дыдэращ псы ежэххэм, гуэлхэм, хыхэм, тенджызхэм къащыщIыри – йокIуэдыкI. Псыр бахъэ мэхъури, хьэуам хошыпсыхьыж. Хьэуам хэту бахъэм зеIэт. Уафэм зиIэтыху и температурэр йох, щIыIэ мэхъу. ЩIыIэм нэса бахъэр адэкIэ дэмыкIуеижыфу зэхуехусыж, ткIуаткIуэ мэхъури, уэшхыу къохыж. Абы конденсацэкIэ йоджэ. Уэшх хъун ипэ къихуэу псы ткIуэпс цIыкIухэр пшэ мэхъу. Ауэ, дэтхэнэ пшэри уэшх хъужыркъым, атIэ жьым ирехьэжьэри, жыжьэ гуэрым еху. А гъуэгуанэм хьэуа пщтыр ирихьэлIэмэ, пшэр аргуэру бахъэ мэхъу. Хьэуа щIыIэ хуэзэрэ – ткIуэпсхэр нэхъ иныж мэхъу, пшэр къоуфIыцIри, хьэуам хуэмыIыгъыжу уэшх къошх. Уэшхыр ину, мащIэу, къепсэпсауэу, зэхуэмыдэурэ къошх. Ар зэлъытар ткIуэпсхэм я инагъыращ. ТкIуэпсхэр уэм къыщехкIэ бахъэ хуэзэмэ, уэшхыр нэхъ ин хъунущ. Уэшхыр лIэужьыгъуэ зыбжанэу егуэш: 1. Къепсэпсауэр. Милиметрэ ныкъуэ нэхъ ин мыхъуу ткIуэпс цIыкIухэр хуэму уафэм къыщелъэтэхкIэ, къопсэпсауэ жаIэ. Гъатхэм е бжьыхьэм ущрохьэлIэ. 2. Уэшхышхуэ, псыдзэ. Ар напIэзыпIэм щIедзэ, апхуэдэу напIэзыпIэми мэувыIэж, ауэ ину, уэру къошх, уафэгъуагъуэ къыщыдэкIуэ, уэ къыщыдех щыIэщ. 3. Уэлбанэ. Хым и щIыгум щызэхуэсыу, жьым кърихьэкIыурэ Iэгъуэблагъэхэм уэшхыу махуэ бжыгъэкIэ къыщешхыж. Бжьыхьэ уэшх, уэтIпсытI жыхуэтIэращ. 4. Бадзэуэшх. Уафэр пшэм щIихъумэну хунэмысу къыщIидзэрэ икIэщIыпIэкIэ увыIэж уэшх кIэщIым бадзэуэшхкIэ йоджэ. Апхуэдэхэм деж лэгъупыкъу уолъагъу, Iэгъэбэгухэр уэру къокI. 5. Уэшхрэ уэсрэ зэхэту бжьыхьэм е щIымахуэм къох. ЩIылъэм температурэр нолым нэхърэ щынэхъ лъагэрэ, уэгумкIэ щIыIэмэ, уэсу къежьар щIылъэм къыщыскIэ ткIуаткIуэ зэрыхъужым къыхокI ар. 6. Уэшхым ипIэкIэ мыл къыщехи щыIэщ. Ар нэхъыбэу къыщыхъур щIымахуэращ. ЩIыпIэ хуабэхэм къикI уэлбанэ пшэхэм къапих ткIуаткIуэр щIы щIыIэм къыщыскIэ мэщтри, и кум псы иту и щхьэфэр тещтыкIауэ, хъурей цIыкIуурэ къох. Сочэ кIэрыхубжьэрыхум щIигъэнащ Сочэдэсхэм я къалэм теухуауэ гукъеуэшхуэ яIэщ. ЗэрыжаIэмкIэ, зыгъэпсэхупIэ щIыпIэр апхуэдизкIэ кIэрыхубжьэрыхукIэ кудащи, узыфэ зэрыцIалэхэр къэхъеинкIэ мэшынэ. Абы теухуауэ УФ-м и Президентми санитарнэ дохутыр нэхъыщхьэмм хуэтхьэусыхэну я мурадщ. А тхыгъэм нобэкIэ цIыху 570-м Iэ традзащ. «Апхуэдиз мылъкурэ къарурэ зытрагъэкIуэда къалэм мэ Iейм удигъыхьэркъым, емынэр ди бжэIупэм къэсауэ жыпIэ хъунущ», - итщ а тхыгъэм. Ар къызыхэкIар псы фIейр зэрамыгъэкъэбзэжыфыр, уеблэмэ, зэрыщытыбзэу хым зэрыхагъэлъадэрщ, кIэрыхубжьэрыхухэм емылэжьу, щIыпIэ хэхам щызэхуамыхьэсу, щхьэж здыхуейм деж зэрыщрикIутырщ. «ПщыхьэщхьэкIэ цIыхухэм я нэгу зрагъэужьыну, бэуэну унэм къыщIэкIмэ, дэ ди бжэ-щхьэгъубжэр зэхуэщIауэ унэм дыщIэсщ. IуэхукIэ дыщIэкIын хуей хъуамэ, жэрыжэкIэ зэфIыдогъэкIри, дыпIащIэу унэм дыщIолъэдэж. Мэр апхуэдизкIэ гуащIэщи, ди пэр тIыгъыу дызекIуэу аращ», - жаIэ сочэдэсхэм. Хэт нэхъыжьыр? Медицинэмрэ техникэмрэ зыщаужьа зэманым дыщыхиубыдакIэ, цIыхухэри куэдрэ псэун хуейт. Ауэ, щIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, цIыхур илъэс 26-м иту жьы хъун щIедзэ. Ар къызыхэкIар къарукIэ ягъэзащIэ лэжьыгъэр цIыхум щхьэщызых, къыдэзыгъэпсынщIэ техникэ къызэрежьаращ. Абы къыхэкIыу щхьэхынэр нэхъыбэ хъуащ. Инфаркт, инсульт, къищынэмыщIа узыфэ шынагъуэхэр яхуогъэхъуж, ауэ щхьэхынэм къыхэкIыу жьы хъун щIэзыдза цIыхум зыри сэбэп хуэхъуфынукъым. Щхьэхынэр хьэуар, псыр щымыкъабзэ щIыпIэм щыпсэумэ, ерыскъэ къабзэ имышхмэ, и псэугъуэ-щIэрэщIэгъуэ дыдэм ирихьэлIэу жьы хъун щIедзэ. Астрономиер джын щIадзэжынущ Урысейм ЩIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмкIэ и министр Васильевэ Ольгэ и унафэкIэ курыт еджапIэхэм астрономиер джын щыщIадзэжынущ. Министру щыта Ливановым цIыхухэр абыкIэ елъэIуат, ауэ зыри къикIатэкъым, хьэршым теухуауэ сабийм бгъэдэлъын хуей щIэныгъэр «Физикэмрэ» «Дыкъэзыхъуреихь дунеймрэ» щаджкIэ къищIэу къилъытэри. - «Астрономиер» школ программэм хэгъэхьэжын хуейщ, ар хьэкъщ. Япэм тхьэмахуэм зы сыхьэт хухахыу щытащ абы, фщIэжмэ. «Роскосмос»-ым тхылъкIэ зыкъытщIигъэкъуэну хьэзырщи, а сыхьэтыр хэдгъэхьэжынущ программэм, - жиIащ министрыщIэм. ЦIыкIурэ икIи шынагъуэу ООН-м игъэбелджылащ дунейм псэущхьэ нэхъ шынагъуэ дыдэу тетхэр. Абыхэм я нэхъыбапIэм уз зэмылIэужьыгъуэхэр кърахьэкI, аращ щIэшынагъуэри. Япэ увыпIэм щытыр – аргъуейхэращ. А цIыкIунитIэхэм я ягъэкIэ илъэсым цIыху 750000-рэ уз зэхуэмыдэхэм йолIыкI. ЕтIуанэ увыпIэр езы цIыхум иубыдащ. Езыхэм я ягъэкIэ илъэсым цIыху 437000-рэ дунейм йохыж. Ещанэр – блэхэращ (цIыху I00000). Хьэхэр - еплIанэщ (цIыху 35000-рэ). КърабжэкIахэм яхэтщ нэщIэпкIэхэри (цIыху 20000)! АдэкIэ къыкIэлъокIуэ бжьыдзэхэр (цIыху I2000), бадзэхэр (цIыху I0000), маркуэр (цIыху 45000-рэ), благъуэхэр (цIыху мин), кIэтIийм ирищIэ ленточнэ хьэмбылухэр (цIыху 700). ЦIыхум дежкIэ шынагъуэм хеубыдэ пылхэр, аслъэнхэр, дыгъужьхэр, акулэхэр. Адыгэ къалэм и къэунэхукIар Адыгэ къалэр (Адыгейск) хы ФIыцIэмкIэ уикIыу Адыгэ республикэм ущыхуэкIуэкIэ япэу узыIущIэ къалэрщ. Ар щIалэщ, илъэс 47-рэ хъууэ аращ. Дунейм и къалэ цIыкIу мин бжыгъэхэм ящыщщ, езым и гъащIэ, и тхыдэ, и цIыху телъыджэхэр иIэжщ. Абы и псыр дяпэкIэщ къыщыжэнур… I969 гъэм ди къэралым и картэр иджыри зы къалэкIэ нэхъ бей хъуащ – Адыгэ автономнэ областым хыхьэ Тэучэж куейм Адыгейск къалэщIэр къыщыунэхуащ. Ар фIы дыдэкъэ-тIэ? ФIыт, ауэ сыт абы щхьэкIэ ящIэн хуей хъуар? Илъэсым прунж тонн мелуан бжыгъэхэр Адыгейм къыщрахьэлIэжыну, хамэ къэралхэм кърашыр IэщIыб ящIыну, абы папщIи Краснодар псы хъумапIэ лъэщ щаухуэну траухуат унафэщIхэм. А мурадыр къайхъулIэн папщIэ, нэ зытрадза щIыпIэм ис къуажэ 22-р игъэкIын хъуейт. Урысейр къэрал абрагъуэщ. Сыт абы дежкIэ жылэ 22-р зищIысыр?! Жылэдэсхэр сыт хуэдэу мытхьэусыхами, зыри къикIакъым - Москва унафэ щащIат Псыжь IуащIэну. Гъатхэм а псыр уэру къожэ, ауэ гъэмахуэкIэ, бгым телъ уэсыр ткIужа, дыгъэ жьэражьэр щIылъэм къыщхьэщыува нэужь, псы хъумапIэр ПсыжькIэ гъэнщIа хъуркъым. Ар Iуэхур къалъытакъым проектыр зыщIахэм. Арати, бжьэдыгъу жылэ I3-м зы цIыху къыдамынэу, ягъэIэпхъуащ, иджыри 9-м цIыху куэд дыдэ къыдагъэIэпхъукIащ, ауэ зэрыщыту дашыфакъым. ЦIыхухэм я унэхэр ябгынэну хуейтэкъым, къахудэкIыртэкъыми, къалэм унэ щыхуаухуауэ, фэтэр, лъапсэ къыщратыну жраIэурэ, къыдашырт гъэпцIагъэкIэ. Дэнэт здагъэIэпхъуэнур жыпIэмэ, Адыгейскт, ауэ абы щыгъуэ ар иджыри щIыпIэ нэщIт. Унагъуэ I957-р ягъэIэпхъуащ, ахэр цIыху мини 8I45 хъурт. I969 гъэм фокIадэм и 27-м Адыгейск япэ дыдэу дэтIысхьащ Лъостэнхьэблэ щыщ унагъуэ 22-рэ. Абыхэм адрейхэри якIэлъыкIуащ. - Сэ фIы дыдэу сощIэж Адыгейск дыкъыщагъэIэпхъуауэ щытар, - жеIэ а къалэм и администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэу лэжьа Жамырзэ Гуащэнагъуэ. – Сэ курыт еджапIэм сыщIэст иджыри. Науэжьхэм я унэ-лъапсэр ябгынэну хуэмейуэ, зыкъранэрт, ауэ залымыгъэкIэ къыдашырт. Дэри, адрейхэм хуэдэу, унэ хьэзыр къыдэжьэу, дызыхуеину псори хьэзыру къыджаIэрт, батэкъутэ ягъэшырт. Ауэ дыкъыздагъэкIуар щытлъэгъуам, дыкъэуIэбжьат. Адыгейск зытращIыхьыну щIыр шэду щытащ, хьэндыркъуакъуэмрэ блэмрэ щыкуэду. Сытыт пщIэнур, пхъэкIэ зэIулIа унэжь цIыкIухэм дыщIэст, хэти, зэрыхузэфIэкIым хуэдэу, унэ иухуэрт, зыр зым дэIэпыкъук. Ауэрэ унэ гуэрхэри къалэм дащIыхьащ, къэралми мащIэу зыкъытщIигъакъуэу щIидзащ. Пэжыр жыпIэмэ, шэдымрэ псы хъумапIэмрэ зыкъуагъащIэрт – блынхэр псыIэ къэхъуурэ, фырт, бамэм унэм ущIигъэсыртэкъыми, нэхъыбэрэ щIыбым дыдэтым нэхъ къатщтэт. Мэзхэр ираупщIыкIати, щIыр къещэтэх хъуат, ди унэхэр къигъауэу, пхъэ гъэсынри зыгуэрурэ къэгъуэтын хуейт, псы дызэфэнри къатшэу арат. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, нитраткIэ къулей щIыгъэпшэрхэр щIым щIалъхьэти, а гын бзаджэр щIым кIуэцIрыкIыурэ, ди псыкъуийхэм нэсырт, абы уефэнри уи IэкIэ зыбукIыжынри – зыт. Зи Iуфэхэр фIыуэ ямыгъэбыда псы хъумапIэм ибгъухэр гуилъэсыкIырти, псыIагъэм нэхъри зиубгъурт, щIым укIуэцIрыщэтырт. Псы хъумапIэр Iэтауэ къызэIуахащ, ар ягъэлъэпIащ, ауэ лIэныгъэр куэдкIэ нэхъыбэ хъуат, лъхугъэри мащIэ дыдэт. Ди щIалэщIэхэр армэм ираджэжыртэкъым, я узыншагъэр щIагъуэтэкъыми. Япэми хуэдэу, нобэр къыздэсым ди щIалэгъуалэм я упщIэ нэхъыщхьэр зыщ – дэнэ лэжьапIэ дыкIуэну, дэнэ ахъшэ къыщыдлэжьыну? ЦIыху минхэр Краснодар нэс макIуэ лэжьапIэ. Сыт нэгъуэщI къахуэнэжыр? Аращ ди щыIэкIэ-псэукIэр зыхуагъэкIуар. Прунж тонн мелуанхэр-щэ, жыпIэмэ, ди щIыпIэхэм прунжыр къыщыкIрэ-къыщымыкIрэ зрагъэщIэн хуеятэкъэ япэ щIыкIэ?! Ари проектыр зыгъэхьэзырахэм я зы щыуагъэщ. КъызэрыщIэкIамкIэ, гектар минищэ бжыгъэхэр зыхуагъэкъэбза Iуэхур нэхъыщхьэ дыдэу зыхуэкIуар къэзухъуреихь щIыуэпсым хэлъ гъащIэр иукIынырщ. Псым апхуэдизкIэ нитратрэ гъущI хьэлъэхэмрэ куэду хэлъщи, бдзэжьей хэс дэнэ къэна, ухуейуэ хэбгъэтIысхьэми, зы махуэ хэсыфынукъым, къазхэмрэ бабыщхэмрэ абдеж щагъэтIылъ джэдыкIэхэр шкIумпI мэхъу. Гъэмахуэм бадзэмрэ аргъуеймрэ апхуэдизкIэ куэдщи, зэрызащыпхъумэн къыпхуэгъуэткъым. Арами, цIыхухэр хуейкъым, псы хъумапIэм ит псы фIейр Псыжь храгъэкIэжыну, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, псоми фIыуэ къагуроIуэ абы кърикIуэну къулейсызыгъэм и инагъыр. ЦIыхухэр зыщIэлъэIур зыщ – «Краснодар хым» и щытыкIэмрэ и зэхэлъыкIэмрэ мардэм къитIасэу, шынагъуэ хэмылъу ар зи лэжьыгъэхэм «яIыгъынырщ». БлэкIар блэкIащ, абы зыри пхуещIэжынукъым. Псом хуэмыдэу уи блэкIар псы лъабжьэм щыщIэлъым деж. Гуузщ, ауэ сыт пщIэн? Ари гъащIэм и зы лъэхъэнэщи, уебэкъуэн хуейуэ аращ. Е мыхъу, фIыи хъужыркъым, жаIэ. Иджы Адыгейск ефIакIуэу къалъытэ. Ар нэрылъагъущ, икIи а щIыпIэр илъэс 47-рэ ипэкIэ къуму щытауэ, «шэдым къыхэкIауэ», апхуэдизу щIалэу фIэщщIыгъуейщ. Курыт еджапIэ, сабий сад, сымаджэщ, музей, гъуазджэхэмкIэ сабий еджапIэ, сабий-щIалэгъуалэ спорт школ, сабий туризмэм и центр, мэжджыт, Щэнхабзэм и унэ, газет тедзапIэ, тыкуэн бжыгъэншэхэр, шхапIэ хьэлэмэтхэр, унэ лъагэшхуэхэр, IуэхущIапIэхэр, библиотекэхэр… Сыт иджыри узыхуейр упсэун папщIэ? КъедмыбжэкIахэри хэтыжу, псори иIэщ къалэ цIыкIум. СпортымкIэ, музыкэмкIэ ехъулIэныгъэшхуэхэр зиIэхэр, Хэку зауэшхуэм лIыгъэ щызезыхьахэр, лэжьыгъэм и ветеранхэр, зачиифIэ цIыхухэр и куэдщ Адыгэ къалэм. ФIы и лъэныкъуэкIэ гъащIэм закъыхуигъэзауэ жыпIэ хъунущ. Сэрматхэр, мэуэтэхэр, хьэтхэр щызэхэзекIуэу, гъащIэр къыщикъуэлъыкIыу щыта щIыщ нобэ Адыгэ къалэр зытетыр. Ар абдеж къыщыхутэн папщIэ Щхьэнджэрийхьэблэ, Едэпсыкъуей, Щэбэныхьэблэ, Лэхъщыкъуей, Ленинхьэблэ, Къэзэныкъуей, Нэчэрэзей, Маяк, Лъостэнхьэблэ, Кармалино, Къэнщыкъуейхьэблэ, Пщыкъуийхьэблэ, нэгъуэщI жылэ зыбжанэхэри кIуэдыжащ. Дэтхэнэ зыми къуажэми илъэсищэ бжыгъэ тхыдэ иIэжт. Дауэ мыхъуами, иджыри дунейм щобауэ жыг жьауэхэм щIэгъэпщкIухьа жылэ дахэм хуэзэшхэр, псы уэрым и IущащэкIэр зи тхьэкIумэ итхэр, щIы фIыцIэ пшэрым и берычэтыр зыщIэжхэр, псэм фIэIэфI унэ-лъапсэ уасэншэм и теплъэр зи нэгу щIэмыкIыжхэр. А зэман жыжьэм и хъыбар щаIуэтэжкIэ, куэдым ягу къокIыж щIыпIэр ибгынэну хуэмейуэ къэна хьэжьыр. Сыт ямыщIами, къахудэкIакъым. Хьэр зей лIыжьыр абы кIэлъыкIуэурэ игъашхэрт. КIуэ пэтми, псы хъумапIэр щыз хъурт, къыдэкIуейт, хьэжьыр зыдэлъ лъапсэм ар къыщекIуалIэкIэ, пщIэуурэ, икIуэтырт. Унэр псым щыщIэтIысыкIам ирихьэлIэу, хьэжьми и псэр хэкIат. Псыр – псэ хэлъхьэжщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыуэпсыр нэхъ дахэхэм хабжэу, ипсхэр хущхъуэу, и хьэуар къабзэу къалъытэу къокIуэкI. Ар тхъумэныр къалэну щыIэм я нэхъыщхьэжщ, икIи абыкIэ сэбэп хъуну дыщогугъ 20I7 гъэр ЩIыуэпсым и гъэу зэрагъэувам. Сытым гу нэхъ лъытапхъэ? А упщIэмкIи, нэгъуэщIхэмкIи зыхуэдгъэзащ КъБКъУ-м биологиемкIэ и къудамэм и егъэджакIуэ, биологие щIэныгъэхэм я кандидат Хьэтыхъу Аубэчыр. - Аубэчыр, дуней псор къапщтэмэ, щIыуэпсыр тхъумэмэ цIыхуцIэ зиIэм и насыпу жыпIэ хъунущ. Ди щIыналъэм уигу зыгъэныкъуэу сыт щыIэ щIыуэпсым теухуауэ? - Пэжщ, щIыуэпс ныкъусэныгъэхэр ди зэхуэдэ щхьэузщ. Ди гур зыгъэныкъуэ псоми зэуэ я гугъу пхуэщIынукъым, ауэ псом япэ ирагъэщыж псы Iуэхум и гугъу сщIыну сыхуейт. «Псыр - псэ хэлъхьэжщ», - жаIэри, ар япэ игъэщыпхъэу къалъытэ экологхэми биологхэми. США-м и президенту щыта Кеннеди Джон жиIауэ щытащ мыпхуэдэу: «НобэкIэ зауэхэр щIекIуэкIыр щIы дагъэм щхьэкIэщ. Ауэ къэсынущ зэман, цIыхухэр псы къабзэ щхьэкIэ зэзауэу». А зэманыр мыгувэу къэсыну къысщохъу. Дунейм цIыхуу тетым и зэхуэдитIым псы къабзэ ягъуэтыркъым. Псыр мыщIагъуэмэ, цIыхум и гъащIэм илъэси I0-I5 кIэроху занщIэу. Узыфэу тцIыхур къызыхэкIыр псы фIеймрэ абы хэс бактериехэмрэщ. Ди республикэр къапщтэмэ, насып диIэщи, ди псыр къыщыщIэжым дыпэмыжыжьэу допсэу. Ауэ ди бгыжьхэм телъ мыл Iувхэр щыткIужкIэ къыщIэж псыр дыщыпсэу къуажэхэм, къалэхэм къэмыс щIыкIэ фIей тщIыну, пхъэнкIийкIэ ткудэну тхузэфIокI! Псалъэм папщIэ, илъэси I50-кIэ узэIэбэкIыжмэ, Налшыкыпсыр хущхъуэу къалъытэу, УрысеймкIэ къикIыурэ зыгъэпсэхуакIуэ къытхуэкIуэрт цIыхухэр, а псым ефэн, псы Iуфэм Iусын къудей щхьэкIэ. Нобэ а псым зы цIыхум зыщигъэпскIыфынукъым, апхуэдизкIэ къулейсыз тщIащи. Уеблэмэ гъэмахуэкIэ сабийхэм вакъэ ящыгъыущ зэрыхыхьэр – апхуэдизкIэ абдж къутахуэ куэд хэлъщи, яуIэнкIэ мэшынэри. - Дауэ, сыт хуэдэ щIыкIэу псыр зэрауцIэпIыр? - Иужьрей зэманым едгъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, псыр уцIэпIынымкIэ япэ увыпIэ зыIыгъыр спиртзаводхэращ. Ахэр зэрылэжьа псы фIейр занщIэу псым хаутIыпщхьэ, ямыгъэкъэбзэжыххэу. Апхуэдэ заводхэр пщIы бжыгъэу диIэщ республикэм. Къыхэзгъэщыну сыхуейт Бахъсэныпсым хаутIыпщхьэ псы фIейри. Ар псы ежэхым щIыхаутIыпщхьэр псыр зэрагъэкъэбзэж ухуэныгъэхэр яIэкъым, е я лэжьыгъэр зэтеухуакъыми аращ. Апхуэдэу щIыуэпсым зэран хуохъу псыхъуэхэр занщIэу датIыкIыурэ, псыр хуиту убгъуауэ ирижэн хуэдэу ящI ухуэныгъэхэр. Псыр нашэкъашэу ирижэн хуейуэ къегъэщI щIыуэпсым. Абы ухэIэбэнкIэ Iэмал иIэкъым. Псым гуащIэ хэлъщи, ар нашэкъашэу ирижэным трегъэкIуэдэж и къарур. И «гъуэгур» захуэ пщIымэ, и Iуфэхэр гуилъэсыкIынущ, и щIэр щIихынущ. Мы сызытепсэлъыхьа псоми я Iэужьыу дипсхэм бдзэжьей хэсыжкъым. Абы къикIыр псым псэ хэмытыжуращ. - АтIэ, дауэ ди щыуагъэхэр зэрыдгъэзэкIуэжынур? Сытыр ди Iэмал? - Сэ къызэрызгурыIуамкIэ, щIыуэпсыр хъумэным теухуауэ гъэсэныгъэ ебгъэкIуэкIыну гуващ. Къэрал зызужьахэр илъэс куэд ипэкIэ мы дызытепсэлъыхьа Iуэхугъуэхэм натIэкIэ еуэщ, я щыуагъэр къагурыIуэжри, щIыуэпсыр хъумэн зэрыхуейм телажьэу щIадзащ. ИкIи я щIыуэпсыр кърагъэлащ. Дауэ? Хабзэ ткIийрэ къарукIэ. Дэри аращ дызыхуэныкъуэр. ЩIыуэпсым кIэлъыплъхэм я бжыгъэр хэгъэхъуэн хуейщ, уэрамыщхьэр е псы Iуфэр пкIэнкIий идзыпIэ зыщIхэм тезырышхуэ телъхьапхъэщ, уеблэмэ тутнакъэщым махуэ зыбжанэкIэ исынуи зэранкъым. НэгъуэщI зыри и Iэмалкъым. - Щэбэт щIыхэхухэр-щэ? - Ар, пцIы хэмылъу, сэбэпщ. НэгъуэщIу цIыхум зэхищIыкIынукъым щIыуэпсым хуэсакъын зэрыхуейр, къыгурыIуэнукъым абы лейуэ ирихыр и нэкIэ имылъэгъужмэ. Республикэм и щIыпIэ зыбжанэхэм щэбэт щIыхьэхухэр ирагъэкIуэкIыу, пхъэнкIийр машинэшхуэкIэ дашу дыщыгъуазэщ. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, апхуэдэ щIыкIэкIэ щIыуэпсым лей къылъысыр къыздикIыр тхуэгъэкIуэдынукъым. Жылагъуэ палатэм а Iуэхур къыщытIэтри, спиртзавод зыбжанэм я лэжьыгъэм кIэлъыдгъэплъыжащ, нобэкIэ тхузэфIэкIыр арати. ЦIыхум зеужь. Абы и зыужьыныгъэм къыдэкIуэу, илъэс 20-25-рэ къэскIэ щIыуэпсым ихь лэжьыгъэри тIукIэ мэбагъуэ. Абы тепщIыхьмэ, нобэкIэ ди щIыуэпсыр дымыхъумэмэ, ди бынхэр пхъэнкIийм къыхэнэнущ, псы къабзэ щхьэкIэ зэзэуэж хъунущ. Мис ар ди хьэрычэтыщIэхэм къагурыIуэну, зыхащIыкIыну сыхуейт. Ахэр нобэрей махуэкIэщ зэрыпсэур, къэкIуэнум емыгупсысу псы Iуфэхэм деж щыт жыгхэр ираупщIыкIыурэ унэхэр щаухуэ, заводхэр иращIэкI. УкIэлъыпхъанкIэкIэ Iуэхур зэфIэкIкъым, щхьэусыгъуэращ зэлэжьын хуейр. Гу лъывэдгъэтэнут: щIэныгъэлI Хьэтыхъу Аубэчыр зытедгъэпсэлъыхьам и зы Iыхьэщ псым теухуар. «ЩIыуэпсым» и къыкIэлъыкIуэ къыдэкIыгъуэхэм нэгъуэщI Iуэхухэм дыщытепсэлъыхьынущ. Епсэлъар Фырэ Анфисэщ. Iуащхьэхэр Ижь-ижьыж лъандэрэ тхакIуэхэмрэ зыплъыхьакIуэхэмрэ Къэбэрдей тIуащIэм я Iуащхьэхэм тетхыхьу, ягъэщIагъуэу къекIуэкIащ. Нобэми, абыхэм хъыбарыжь куэд тражыIыхьыж. Ауэ куэдым ящIэркъым а Iуащхьэхэр къызэрыхъуам и пэжыпIэр. Дэ нэхъ пыухыкIауэ зи гугъу тщIынур Псыхуабэрэ Минводрэ я щIыналъэм хиубыдэ Iуащхьэхэрщ. КъухьэпIэмкIэ укъикIыу Минвод укъыщыхуэкIуэкIэ, япэу узыIуплъэр сэмэгурабгъумкIэ къыщыт Кинжал бгы лъэлъэжращ. Зэгуэр а Iуащхьэм метр 507-рэ и лъагагъыу щытащ. Абы и гъунэгъуу Кокуртлы вулканыр къыщытщ. ИжьырабгъумкIэ узыIущIэр Верблюд жыхуиIэ Iуащхьэращ, адэкIэ Бык, Шелудивая, Бешто (ар Iуащхьиблу зэхэтщ: Медовая, Острая, Тупая, Шелудивая, мэз Iувыр «пыIэу» зыщхьэрыс Железная, Развалка, Змеевой). Абыхэм къакIэлъокIуэ Псыхуабэ и Iуащхьитхур: Лысая, Мэшыкъуэ, Золотой курган, Юца, Джуца. Илъэс мелуани I40-I50-кIэ узэIэбэкIыжмэ, Кавказ къуршыжьхэм я тхыцIэр хытIыгу зыбжанэу хым къыхэщыу, мы щIыпIэхэр зэрыщыткIэ псы лъабжьэу щытащ. Илъэс мелуан 30-40 ипэкIэ щIыгу гъущэхэр къэунэхуащ. Ауэ нобэ тлъагъу ди къуршыжьхэр зэрыщыт дыдэм хуэдэу къыщыунэхуар илъэс мелуан I5-кIэ узэIэбэкIыжмэщ. Къыхэгъэщыпхъэщи, илъэсым милиметр I5-30-кIэ Кавказым «зеIэт» нобэми. Сыт-тIэ, Кавказ тхыцIэм пэжыжьэу, дызытепсэлъыхь Iуащхьэхэр щхьэхуэу къыщIэунэхуар? Псоми зэрытщIэщи, ЩIым и купщIэр пщтырщ. АпхуэдизкIэ пщтырщи, щIыр къегъэкъуалъэри, гъуэзымрэ мафIэмрэ щIы лъабжьэм щIэмызэгъэжу, щIы щхьэфэм къыдрехуей. Апхуэдэущ зи гугъу тщIы Iуащхьэхэри (нэхъ тэмэму жыпIэмэ, вулканхэр!) къызэрыунэхуар. Минвод и Iуащхьэхэр а щIыпIэм деж илъэс мелуани 4 хъуауэ щытщ, ауэ щIы къэкъуалъэм яужь дыдэу зыкъыщигъэлъэгъуар илъэс мелуани 3,2-3,8-рэ ипэкIэщ – Iуащхьэмахуэрэ Казбекрэ здэщыт щIыпIэм деж къыщыпхиуду, а вулканхэр къыщыунэхуам щыгъуэ. Минводрэ Псыхуабэрэ Iуащхьэу щыIэр къызэрыунэхуар апхуэдэущ, абы къыхэкIыу абыхэм «лакколиткIэ» йоджэ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, вулкан хъуным нэмыса. Къэхутэныгъэхэм къызэралъытэмкIэ, зэгуэр Бешто, Бык, Развалка, Железная Iуащхьэхэм щIы къэкъуалъэр къыдэкIуейти, къикIыну хунэмысурэ жыт, и къикIыпIэр IуищIэжу. Iуащхьэ лъабжьэм щызэхуихьэса гъуэзыр гъуагъуэу щIы лъабжьэм щызекIуэрт, макъ шынагъуэхэр къигъэIуу. ЩIы къэкъуалъэр а щIыпIэхэм деж къыщикIыну къеIащ, ауэ зыкъиIэта мыхъумэ, щIыр къыхузэгуэмытхъыу, адэкIэ Iэпхъуэурэ Iуащхьэмахуэ деж къыщыпхиудауэ аращ. Уэшхымрэ жьыбгъэмрэ Iуащхьэ зыкъэзыIэтам и щхьэфэр трилъэсыкIырти, гъуджэм хуэдэу джафэ хъужауэ лавэ жар къыщIэщырт. И цIэр урысыбзэкIэ – адыгэбзэкIэ Лъэгагъыр, м Кокуртлы (и адыгэцIэр ящIэркъым) 406 Кинжал - Къамэ 506 Верблюд - Махъшэ 885 Бык - Гуу 8I7 Змейка - Къурей мэзыбг 994 Развалка (и адыгэцIэр ящIэркъым) 926 Железная - Исмэхьил и Iуащхьэ 853 Медовая (и адыгэцIэр ящIэркъым) 725 Кабанка (Тупая) (и адыгэцIэр ящIэркъым) 767 Острая (и адыгэцIэр ящIэркъым) 872 Бештау - Iуащхьитху I400 Лысая - Бгыху 739 Шелудивая (и адыгэцIэр ящIэркъым) 874 Машук - Мэшыкъуэ 993 Джуца I-я – Юцэ, Трамэ 973 Золотой Курган – ХьэрэмэIуащхьэ 884 Джуца 2-я (Джуца) - Къумыбг II90 Мэлыхъуэхьэхэр Пасэрей адыгэм и къулеигъэр былымыщхьэкIэ къабжу щытащ. Я къулеигъэр ирахъумэну абыхэм зэрахуэрт хьэфIхэр – мэлыхъуэхьэ зыфIаща лъэпкъыр. Мэлыхъуэхьэр пIащэ дыдэу щытын хуейкъым, ику иту килограмм 50-60 хъууэ аращ. Япэм арат зэрыщытри. Абы нэхърэ нэхъ хьэлъэр Къущхьэхъу щыпсэуфынутэкъым, и хьэлъагъыр къыхуехьэкIыжынутэкъым, мэл хъушэм е шы гуартэм дыгъужь къебгъэрыкIуэм, пэмылъэщынри хэлът. Апхуэдэ хьэхэр мэлыхъуэхьэ хъужыртэкъым, ар нэгъуэщI лIэужьыгъуэт – пщIантIэгъэдахэу, цIыхугъэшынэу унагъуэм ирагъэсхэм хуэдэт. Мэлыхъуэхьэм и кIапэмрэ и тхьэкIумэхэмрэ паупщIу щытащ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар дыгъужьым щезауэкIэ щхъуэжьыр япэ дыдэ здэпхъуэр тхьэкIумэрат. Абы хьэр егъэлеяуэ егъэдзыхэ. Аращи, тхьэкIумэр къыIэрымыхьэн папщIэ, паупщI. И кIэр щIыпаупщIми щхьэусыгъуэ иIэщ – хьэр щыжейкIэ зешыхьри, и пэр и кIапэм кIэщIеупщIэ и Iу бахъэмкIэ зигъэхуэбэн хуэдэу. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, щхьэукъуарэ, зи кIапIэмкIэ «зыщIэзыхъумэжа» хьэм дыгъужь къакIуэр къищIэнукъым, и мэр къыщIихьэнукъым. Мэлыхъуэхьэм и дзэхэр жану, пыхъукIауэ, и жьэ къупщхьэм зиужьауэ, лъэщу щытын папщIэ къупщхьэ ирагъэгъурт, узыншэу, Iэпкълъэпкъ быдэу щытын щхьэкIэ лы куэду ирагъэшхырт, псым есыфу ирагъасэрт. Мэлыхъуэхьэр гъэсэн хуейуэ къалъытэркъым, абы хъумэныр и лъым хэтщ. Къущхьэхъу дэкIхэм хьэбзитIрэ зы хьэхъурэ къызэдащтэ. Iэгъуэблагъэр ирагъэцIыхун папщIэ, ирашажьэри, щIыпIэр къызэхакIухь. ЦIыкIу-цIыкIуу упщIэтауэ лы цIынэ къызэдащтэри, хьэхэр здрикIуэну гъуэгум щызэбградз. Хьэхэм ар къагъуэтурэ яшх, ауэ пщыIэм екIуэлIэжа нэужь хьэ Iус иратыркъым. Хьэхъур ирапх. Пщыхьэщхьэм мышхар мэжэлIа хьэбзхэр пщэдджыжьым лы лъыхъуакIуэ йожьэри, лы къащыIухуа гъуэгур къызэхакIухь. Апхуэдэу губгъуэм итщ махуэ псом. ИкIи, Iэмал имыIэу, губгъуэм дыгъужь е хамэ гуэр къихьамэ, банэу щIадзэнущ. Абыхэм я бэнэкIэр зэхыумыхынкIэ хъунущ, е уожей, е уапэжыжьэщ. Ауэ епхауэ къэна хьэхъум, зиукIыжу, бэнэн щIедзэри, абы и щытыкIэмкIэ къыбощIэ Iэгъуэблагъэм хамэ зэрыщыIэр. Хьэхъур къыкIэрыбгъэкIмэ, адреитIыр здэщыIэм уешэ. ЦIыху ямыгъусэми, мэлхэр яхъумэу, пщыхьэщхьэкIэ зэхуахусыжрэ, кърахулIэжу хьэ губзыгъэ урихьэлIэнущ. Ар къызыхэкIыр мэлыхъуэхьэр иджыри цIыкIуу губгъуэм яшэу, мэлхэм яхэсу къызэрыхъуращ. Мэлыхъуэхьэр икъукIэ къарууфIэщ, губзыгъэщ. Хьэ лъэпкъ псори къапщтэу щытмэ, ахэращ нэхъ губзыгъэр. Унагъуэм дэубыдауэ дэс мэлыхъуэхьэм и къарур здихьынур къыхуэщIэркъым, гупсысэфкъым. Аращи, зэкIуэкIын щIедзэ, бзаджэ мэхъу. Апхуэдэхьэр губгъуэм дэшын хуейуэ аращ. НэгъуэщI зыри сэбэп хуэхъунукъым. Къэбэрдей-Балъкъэрым и хьэзехуэхэм я нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэр Iэлборэ Токъанрэ Дэгу Ахьмэтхъанрэщ. Мы щIалэхэр цIэрыIуэ зыщIар хьэхэм хуаIэ лъагъуныгъэм и закъуэкъым, атIэ Ахьмэтхъан и хьэ Хъан нэхъ лъэщрэ нэхъ инрэ республикэ псом зэримыIэращ (хьэхъухэм ящыщу), Токъан и хьэ Челлэ нэхъ абрагъуэ мэлыхъуэхьэ хьэбзхэм зэрахэмытращ. - Мы хьэпшыр цIыкIухэр махуипщI хъууэ аращ къызэралъхурэ, я нэри къэпщIакъым иджыри, ауэ я тхьэкIумэхэр пыдупщIащ, - хьэ пшыр цIыкIуитху хьэгъуэм кърех Ахьмэтхъан. - Ар зугуэрхэм гущIэгъуншагъэу къалъытэнущ, ауэ мыпхуэдэ ныбжьым щитым деж узыр зыхащIэркъым абыхэм. Хьэ пшырхэр псынщIэу хохъуэ. Къапщтэмэ, мазэ ирикъуа хьэ пшырым килограмм 30 и хьэлъагъыу слъэгъуащ! Апхуэдэ хьэ абрагъуэхэр дауэ къалэм зэрыщаIыгъыр?! ПщыхьэщхьэкIэ, цIыхухэр щысэбырыжам деж, хьэхэм кърагъэжыхь къалэм дашри. Хьэм и ныбжьым тращIыхьри, зы километрым къыщыщIэдзауэ, и ныбжьыр хэхъуэху, километр 20-30-м нэс гъуэгуанэ махуэм зэпрагъэч. Губгъуэм ит мэлыхъуэхьэм къызэхикIухьыпхъэ, дыгъужь пэщIэхуэм игъэкIуэдын хуей гуащIэмрэ къарумрэ я мардэр «къалэдэсхэм» пщыхьэщхьэ къэжыхьынымрэ хьэзэзауэ щIыпIэхэмрэ щрагъэкъуж. Ягъэзауэ хьэм и хьэлъагъыр нэхъыбэхэм килограмм 90-I00-м ноблагъэ. Апхуэдэ мэлыхъуэхьэр губгъуэм щыпсэуну пшэмэ, дауи, ипэхэм гугъу ехьынущ, щхьэхыр къытекIуэнущ, ауэ зэман дэкIрэ и хьэлъагъым килограмм 20-40 кIэригъэхумэ, и сэфэтым иувэжынущ. Озоным теухуауэ Уэшх къешха нэужь, хуиту убауэу, хьэуар щIыIэтыIэу щытщ. Ар озоныр кърелъэсэхри аращ. Сыт озоныр зищIысыр? Стратосферэм, километр 30-кIэ уафэм уIэбэмэ, щызыхуэхьэсащ озон жыхуаIэр (О3). Атмосферэм озону хэтыр зыхуэпхьэсмэ, миллиметр 0,3 хъуну аращ. Дауэ тIэ ар зэрылажьэр?! Дыгъэм къыпих хуабэр апхуэдизкIэ гуащIэщи, ар зыгуэрым имыубыдмэ, псэущхьэхэри къэкIыгъэхэри исыжынущ. Пэжщ, витамин D жыхуэтIэр Iэпкълъэпкъым къылъысын папщIэ, дыгъэм зегъэун хуейщ, ауэ дакъикъипщI – пщыкIутху нэхърэ мынэхъыбэу. Абы фIэкIмэ, зэранщ. ЩIыфэ лышх узыр нэхъыбэу къызыхэкIыр дыгъэращ. Дыгъэм и гуащIагъым и Iыхьэ мащIэ дыдэщ щIыгум къэсыр, и нэхъыбапIэр озоным еубыд. Стратосферэм химие пкъыгъуэ лей хыхьэмэ, абы озоныр зэпкърегъэху. Псом хуэмыдэу озонымкIэ нэхъ шынагъуэ дыдэр фреон жыхуаIэращ, абыхэм хлорфторуглеродкIэ йоджэ. Ар щIыIалъэхэр зэрылажьэ, щIыIагъэ езыгъэIыгъыращ, аэрозолхэр, жьыхухэр (кондиционер) щащIкIи къагъэсэбэп. I986 гъэм США-м я щIэныгъэлIхэм Антарктидэ и щхьэщыгум озоным гъуанэшхуэ щиIэу къахутащ. Ар зэрагъэзэкIуэжыным щытепсэлъыхьа зэIущIэ I987 гъэм Монреаль щекIуэкIащ, дуней псом къыщацIыху щIэныгъэлIхэр хэту. ЗэIущIэм унафэ къыщащтат озоныр зэпкъригъэхуу зыхуагъэфащэ фреоныр дяпэкIэ къамыгъэсэбэпыжыну. Абы щыгъуэ къызэрабжамкIэ, Антарктидэ и щхьэщыгум озоным щиIэ гъуанэр, илъэс 60-м и кIуэцIкIэ, езыр – езыру зызэхуашэжын хуейт. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, фреонхэм я пIэ ирагъэувахэр нэхъ гуащIэжу къыщIэкIащ. ХыфIадзэжа щIыIалъэхэм къапкъырыкIыж фреонхэмрэ абыхэм я пIэ ирагъэувахэмрэ я зэраныр зэхэплъхьэжмэ, илъэс 60-м и кIуэцIкIэ озоныр зэхуэкIуэжыну жыхуаIам, иджыри илъэс тIощI щIагъужащ. ЗэрыжаIам хуэдэу, цIыхум фреонхэр къимыгъэсэбэпыххэу щытмэ, 2080 гъэм ирикъужыну аращ озоныр. АпщIондэху климатым игъуэтыну зыхъуэкIыныгъэхэр зыми ищIэркъым. Еджагъэшхуэхэм озоныр лабораторэхэм щащIыфу зрагъэсащ. Языныкъуэ къэралыгъуэхэм псым озон кIуцIрагъэкI, ягъэкъэбзэн папщIэ, ауэ мылъкушхуэ зэрытекIуадэм къыхэкIыу, ди деж къыщагъэсэбэпыщэкъым. «Основы экологии» тхылъым къитхащ.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "shiwaps.txt" }
Тхьэм фIыуэ илъэгъуа цIыху ЦIыху цIэрыIуэм гунэсу нэIуасэ зыхуэпщIынумэ, ар къыщыхъуа къуажэм кIуэ. Аращ ар фIыуэ щацIыхури абы теухуа хъыбар нэхъ гукъинэжхэр щахъумэри. Нэгум къыщIэнэ теплъэгъуэхэм зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр ягъуэтми, ныбжькIэрэ зэIэпахыурэ къекIуэкI IуэрыIуатэм хуэпщI дзыхьыр нэхъ инщ зэзэмызэ. Узытепсэлъыхь нэрыбгэм хуэфащэ пщIэр щигъуэтыжын лъэхъэнэр илъэсищэ дэкIа нэужьи къэмысмэ, IуэрыIуатэр хэкIыпIэ закъуэу къыщыни къохъу. Хъыбархэр къыщежьэр «Алихъан-хьэжы илъэсищэм щыщIигъуакIэ, хъыбархэри езым и жьэм къыжьэдэкIыу щызэхыумыхакIэ, зэрыщыта дыдэр мыпхуэдэущ жыпIэу, дауи, зэрыпхуэмыукъуэдиинур гурыIуэгъуэщ, зыгуэрхэр тIэкIуи зэхъуэкIа хъуну къыщIэкIынщ», - ирешажьэ псалъэр Куба къуажэм бысым щытхуэхъуа, зи тхыдэр зэхуэтхьэсыж лIы махуэм и Iыхьлы нэхъ гъунэгъуу къытхуэгъуэта Думай Хьэмидбий. - Щоджэн Алихъан-хьэжы и адэ Идрис щIалищрэ хъыджэбзищрэ иIащ. Си анэшхуэ Щоджэн Быхуэ и дэлъху дыдэм и къуэщ Алихъан-хьэжыр. «Адыгэ уэркъыжь лъэпкъ» хужаIэу апхуэдэт Щоджэнхэ. Сом ябгъэдэлъу, тыкуэнхэр яIэу, былымхэр я куэду апхуэдэхэт. А зэманхэм зэкъуэшхэр, зэкъуэш бынхэр унэ кIыхьхэм щIэсу, лъапсэшхуэ яIэу, зэдэIэпыкъужу зэдэпсэуфу щытахэщ, иджы хуэдэу зэхэкIауэ, зыр адэ, зыр модэ щымысу. Дыгулыбгъухэ, Думайхэ, Абзуанхэ жаIэри, Къулъкъужын къызытехъукIа лъэпкъым дыщыщщ дэ. Уэркъхэм благъагъкIэ зыхуагъэфащэри уэркъхэратэкъэ? Арати, мо лъэпкъ зэкIэлъыкIуэм къыхэкIа бзылъхугъэ гуакIуэ Быхуэ езыхэм зэхуагъадэу Думай Рэмэзан псэгъу хуащI. Ауэрэ Iэуэлъауэ гуэр къохъури, Мэзан зы щIалэрэ зы хъыджэбзрэ - Къарнейрэ Гуащэгъагърэ - быну къыщIонри дунейм йохыж. Къарнейр сэ си адэращ, Гуащэгъагъ ди адэ шыпхъущ, Псыхъурей исащ. Япхъу фызабэу щагъэсыну а зэманым зыхуагъэфащэтэкъыми, Быхуэр къашэжщ, я щIапIэм и кIапэр хупачщ, зэкъуэшхэм унэ цIыкIу хуращIыхьри, Идрис и гъунэгъуу ягъэтIысыжащ, Щоджэн лъэпкъым хагъэтIысхьэжащ. Ди адэ шыпхъум жиIэжу зэхэсхыжауэ аращ псори, абы ди анэм къыжриIэжауэ аращ, армыхъумэ ди анэшхуэр сэ слъэгъуакъым. Еджэн щыщIидзар Багдадщ Щоджэн Алихъан-хьэжыр хамэ къэрал щеджащ. Иджы хэти Багдад, хэти Сирием, хэти Иорданием жеIэ. Сэ Багдад еджэн щыщIидзэу Сирием къыщиухыжауэ къысфIощI. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуари и еджэгъуэ илъэсхэм къэхъуа зэдауэ гуэрщ. Ислъам дин щIэныгъэр къудамэ куэду зэщхьэщокI. КъинэмыщIауэ, щыуагъэ гуэрым гъуэгу игъуэту гу лъыптэмэ, ар убзыщIыныр къуаншагъэу ялъытэ. Лекцэ гуэрым мо Алихъан-хьэжым езыгъаджэр щыуауэ гу лъитати, и Iэр къиIэтри «Мыпхуэдэукъэ зэрыщытын хуейр?» жиIэри щIэупщIащ. ЕгъэджакIуэр и тхыгъэхэм еплъыжри, «Узахуэщ», къыжриIащ. Апхуэдэу щэнейрэ къэхъуащ. Иужьым егъэджакIуэр къоупщI: дэнэ укъикIа, усыт лъэпкъ? Нэгъэсыпауэ хьэрыпыбзэ зыщIэ Алихъан-хьэжы: «Кавказ Ищхъэрэм сыкъикIащ», - щыжиIэм, «Мыбдеж щытыну зыхуэфащэр уэращ» къыжриIауэ жаIэ егъэджакIуэм. «Хьэуэ, хьэуэ, сэ сыеджакIуэ къудейщ», - идакъым Алихъан. ИтIани, а зэманми фыгъуэ-ижэр щыIэти, щIэныгъэкIэ зытекIуэр бий къыхуохъужри, икIэщIыпIэкIэ мы щIыналъэм уимыкIмэ, уаукIынущ жаIэри хъыбар щэху къыхуахь. Алихъан унэм къокIуэж. Мазэ бжыгъэ гуэр Къэбэрдейм щыIа нэужь, егъэзэжри Сирием е Иорданием динымкIэ еджапIэ нэхъыщхьэр къыщеухыж. Мыдрейуэ, Сауд Хьэрыпым хьэжыщI зэрыщыIам шэч къыхыхьэкъым. Еджэн иухыу Къэбэрдейм къэкIуэжа нэужь, къадыуэ ягъэув. Абы папщIэ дэ иджыпсту «юриспруденция» жыхуэтIэм фIыуэ хэпщIыкIын хуейт, шэрихьэтыр и лъабжьэу. Алихъан-хьэжыми апхуэдэ щIэныгъэ бгъэдэлът. ЗэрыжаIэмкIэ, щIэныгъэм и къудамэ куэдым хэгъуэзат ар. Дэ «гьилмы» жыдоIэ дин щIэныгъэм теухуауэ. Ауэ а акъылкIэ цIыхум зэригъэпэщ щIэныгъэм нэмыщI, «Алыхьышхуэм цIыхум къыбгъэдилъхьэ щIэныгъэ щэху», «гьилму лэдуни» жаIэри зыгуэр щыIэщ. Мис апхуэди бгъэдэлъу щытауэ жаIэж а лIым. Дызытепсэлъыхь зэманыр зыхуэзэр урыс пащтыхьыгъуэр Николай ЕтIуанэм щыIэщIэлъа лъэхъэнэращ. Япэ дунейпсо зауэр къэхъея нэужь, Къэбэрдейм шуудзэ зэригъэпэщу абы хыхьэну мурад ищIат. Абы иужькIэ зэры-Кавказу а Iуэхум иужь йохьэри, кавказ лъэпкъ къэс шуудзэ зырыз къызэрагъэпэщ, «Дикая дивизия» жыхуаIэр. «Сотня» - зауэлIищэ – арат зэреджэр лъэпкъхэм зэрагъэпэщ шуудзэ полкхэм. Алихъан-хьэжыр Къэбэрдей шуудзэм и молэуэ ягъэув. ЩIэныгъэлIхэм зэратхыжам ещхьу, КъурIэным тригъэIэбэурэ тхьэ яригъэIуащ: «КъыщIэпхъуэж, къикIуэт щымыIэу, ди пащтыхьым дызэрыхуэпщылIынумкIэ, Алыхьышхуэ закъуэм и пащхьэ дихьэжу жэуап зэрытхьынумкIэ» жаIэхэу. ИпэжыпIэр сщIэркъым, ауэ дивизие псом Алихъан-хьэжыр и нэхъыщхьэу ягъэувыжа хуэдэуи жаIэ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, шэрихьэт щIэныгъэкIи хабзэкIи ятекIуэрт, езыри зауэлI хахуэт. Молэуэ икIи командиру щытащ, дзэр зэуапIэм Iуишэу, игъэзауэрэ къыIуишыжу. Шэтемыгъахуэ дыуэм и хъыбар Дзэр къызэрагъэпэщауэ, ежьэн хьэзыру, ауэ иджыри Къэбэрдейм иту, йоуэри щIалэр къуажэм къокIуэж. Ари ди адэ шыпхъум жиIэжрейуэ щытащ. Къэбэрдей шууищэм щрамолэкIэ, я цIэ-унэцIэр ищIэнтэкъэ? Дахэ цIыкIум хуэдэу мэтIысри, зауэлI къэс шэтемыгъахуэ дыуэ жыхуаIэм хуэдэ яхуетх. Жэщищ-махуищкIэ унэм къыщIэмыкIыу, цIыхущхьэ къэс хуитхащ жаIэ. Егъэлеят абы щIэныгъэу бгъэдэлъар! Щоджэнхэ езыхэр лъэпкъышхуэт, арати, «мы яхуэптххэр сэбэп яхуэхъуни яхуэмыхъуни» жаIэурэ, щIалэгъуалэм ауан къащIырт. Арати, Алихъан-хьэжы унэм къыщIокIри: «Модэ зы джэд къэвубыд», - яжреIэ. Джэдым и лъакъуэм тхыгъэр ирелъхьэ, баш хеукIэжри, джэдыр ирепх: «Фыкъэуви феуэ иджы мыбы Щоджэнхэ фоч зыгъэуэфу лъэпкъым исыр». Сыт ямыщIэми, джэдыр къахуэукIакъым, жаIэ. Иджыпсту ар цIыхум яжепIэмэ, «щхьэгъэвагъэщ» жаIэнущ, къыхэбгъэщыщи хъунукъым, ауэ мис апхуэдэ щIэныгъэ бгъэдэлъу щытащ абы. ЗэрыжаIэжымкIэ, езым и гъусэу ежьа цIыхуищэм ящыщу зы закъуэ къаукIауэ хьэдэу къишэжауэ аращ, а зыми и дыуэр фIэкIуэдауэ арат. Абы щыгъуэ макъ щIэмыту, лентI камерэ жаIэри ягъэкIэрахъуэурэ зыгуэркIэ трахыу щытащ сурэт. Мис апхуэдэу хьэдэр зэрагъэпскIари, ар зэрыкIуэцIашыхьыжари, ар къызэрашэжари техауэ лентIу къихьыжри яIуантIэурэ иригъэплъыжащ жаIэ. Пащтыхьым и зэманрати, зауэр яухщ, прапорщик цIэри, дамыгъэ лъапIэхэри къратри унэм къэкIуэжат. ЗауэлI саугъэтхэм къадэкIуэу, пащтыхьым саугъэту хутрыригъэдзауэ КъурIэн къыздихьауэ щытащ. Николай ЕтIуанэм трыригъэдза КъурIэныр Ар зэрыщытари? Фэ пхъашэм къыхэщIыкIауэ зыгуэрт и жинтыр. Зэгуэпха иужькIэ, дэ «пластик» жыдоIэ, абы щыгъуэм пластик щыIэтэкъым, ауэ КъурIэным и напэхэр къупщхьэм ещхьу, хьэрфхэр щIэхъумауэ, улъэмыIэсын хуэдэу апхуэдэу щытт. «Коран» жеIэри урыс хьэрфкIэ тету, и лъабжьэм илъэсыр – минрэ щибгъу бжыгъэхэр си нэгум къыщIоувэж. «Коран» псалъэр зэрызэхэт хьэрфитхур дыщэрэ дыжьынкIэ хэщIыхьауэ жинт щIыфэм тетт. ШхэпскIэ тегъэпщIам ещхьт. Ар саугъэту къритат пащтыхьым. КъинэмыщIауэ, шууищэм адыгэ фащэ, шым тепхъуари лIым хуэфащэри саугъэту къарет. Ар пащтыхьым, Николай ЕтIуанэм, и пхъум яхуригъэдауэ жаIэжырт. Еуэри зауэри зэфIэкIащ, революцэр къэхъури, большевикхэр текIуащ. Революцэ пщIын щхьэкIэ мо пащтыхьым хуэпщылIа къомри, езы пащтыхьхэри, динри бгъэкIуэдын хуейтэкъэ. Ставропольскэ краймкIэ члисэхэр, мэжджытхэр якъутэурэ къыкIуэцIрокI. Диныр зэрыхагъэкIуэдэжыр нэхъыщхьэIуэхэр ягъэкIуэдурэщ-тIэ. Хъыбар къаIэрохьэ апхуэдэ щIыкIэу дин лэжьакIуэхэр зэраукIри, Алихъан-хьэжы Тыркум Iэпхъуэну мурад ещI. Ар и адэ Идрис идакъым. «Гъуэгум ущаукIмэ, уи хьэдащхьэ здэщыIэр сымыщIэу… Алыхьым зэриухам хуэдэу хъунщ», - жиIэри иригъэкIакъым. Адэ-анэр мыарэзыуэ гъуэгу утехьэ хъунутэкъыми, зыщIыпIи мыкIуэу къуажэм къыдэнащ, армыхъумэ къэралым икIыу зигъэпщкIуфынут, апхуэдэ Iэмали иIащ. Езым къыдэзэуауэ офицер Iэджэ икIауэ щытащ къэралым. Дунейм зэрехыжар «Плъыжьхэм» я дзэр псым къызэпрокIри, Щоджэнхэ я хьэблэр, я унэ кIыхьыр къаухъуреихь. Бензин тракIэн щIадзэ унэр ягъэсыну. «КъыщIэкI» жаIэ, ауэ и адэм щIигъэкIыркъым. Щымыхъум, Алихъан-хьэжым жеIэ: «Ди адэ, алъандэрэ сынодэIуами, иджы апхуэдэ Iэмал сиIэжкъым. Мыпхуэдиз сабиймрэ цIыхубзымрэ сэ си ягъэкIэ кIуэд хъунукъым», - жеIэри къыщIокI. Асыхьэтым фочкIэ къоуэри пщIантэкум ираукIыхь. Мыжурэ фIэлъащ япэрей фочхэм, «штык» жыхуаIэр. Апхуэдэ мыжурэ хаIу, и псэр иджыри хэмыкIауи, мо сэлэт къэкIуахэм яIэтыж мор. ЯIэтыжа нэужь, шэхьадэр жиIэу дунейм йохыж… Нэхъ ипщэкIэт си анэшыр а зэманым здэщысу щытар, унагъуэ лъапсэхэри зэпыудауэ щыттэкъыми, си анэшхуэм жиIэжырт: «Алихъан-хьэжыр апхуэдэу Iэтауэ мыжурэпэм здыфIэлъым, «Iэшхьэду Iэннэ ла илахьэ иллэлахь, уэ Iэшхьэду Iэннэ Мухьэммэду гьэбдухьу уэ рэсулухьу» зэрыжиIэр зэхэтхырт…» Я пщIантIэкум къызэрыралъхьэжу, и къуэшитIыр къыщIожри хьэдэм зытраубгъуэ. Ахэри траукIыхь. Леишхуэ Iей зэрахьащ. А махуэм Щоджэн Идрис и нэпсыр къыфIекIуэмэ, и напIэр дригъэзейуэ, нэпсыр щIигъэхьэжурэ и хьэдищ мыгъуэри щIилъхьэжащ. И унагъуэми, и шыпхъухэми, псоми ялъэгъуащ. Алихъан-хьэжы и тхылъхэр Тхылъ куэд иIэт Алихъан-хьэжы, библиотекэ псо хъунт. А хъунщIакIуэ къэкIуахэр унэм щIыхьэхэри зэбградзащ. Кабинет хуэдэу щылажьэ пэш иIэ хъунти, абы къыщIадзахэщ. Дивизэ псом и унафэщIу щыта, пащтыхьым и къуэш Михаил къритауэ мывэ лъапIэ хэтащ абы къытрахахэм. Удзыфэу щытауэ жиIэжырт ди анэм, гуплъ (изумруд) сыту къыщIэкIынт. Iэлъын пщIынуи иныIуэу, уи пщэм иплъхьэ хъуну арат, медальон хуэдэу. Удзыфэпсу узэпхыплъырт жи. И кум деж сенычыпитI и бгъуагъыну ихъуреягъкIэ бгырыпхым ещхьу налкъутналмэс къекIуэкIырт. Абы дэщIыгъуа дыщэ къамэхэри - псори зэхадыгъуащ. А сэ слъэгъуауэ жыхуэсIэ КъурIэным «Коран» жыхуиIэ хьэрфхэр лъакъуэкIэ теувэурэ къыхачащ жаIэ, зэрыдыщэм щхьэкIэ. Къыхачри, езы тхылъыр хыфIадзэжащ. КъурIэныр сыту ящIынт мобыхэм. Мылъку лъыхъуэ хъунщIакIуэхэу арати, зыхуейр ящтащ. ХыфIадзэжа нэужь, и шыпхъухэр ежэри, тхылъ къомыр зэщIакъуэжащ. Сэ си анэшхуэ Щоджэн Быхуэ гъунэгъуу псэут, зэрыжысIащи. Абы и деж ирашэкIри ягъэтIылъащ. Нобэ унэлъащIэ Iуэху щызетхуэм деж «бжих зыхэлъ шифоньер» жыдоIэ. Ахэр япэми щыIащ. Мис апхуэдэ бжих зыхэлъ шифоньерым дэз хъурт жаIэ Алихъан-хьэжы тхылъу къыщIэнар. И лъабжьэм къыдэгъэжышхуэхэр иIэти, абыхэми дэзт. Зэман гуэр докIри, Алихъан-хьэжым къыдеджауэ Ибрэхьим жеIэри зы хьэрып щIалэ Мэзкуу еджакIуэ къокIуэ, Щам сфIощIыж къыздикIар. КъыздэкIуам и ныбжьэгъур яукIауэ кърохьэлIэ, езыми игъэзэжыфыркъым. Арати, я деж щопсэу, Алихъан шыпхъу нэхъыжьищ иIам ящыщу нэхъыжьыр абы щхьэгъусэу ират. Адрей курытыр Тхьэгъэпсэухэ, Къулъкъужын докIуэ. Ещанэр Къэсейхьэблэ, Къалэжьокъуэхэ яшащ. Хъыджэбзхэр зэбгрыкIа щыхъум, а къурIэн-чытапхэр къыздрахьэкIыну Iэмал яIэтэкъыми, хьэжым и архивыр зэрыщыту си анэшхуэм къыхуэнэри, а щаукIа махуэ лъандэрэ зэIэпахыурэ яхъумащ. Ауэрэ ди анэшхуэр дунейм йохыжри, тхылъхэр си анэм ей мэхъу. Дэнэ пхьынт? Къэбэрдейм апхуэдэ щIэныгъэ зыбгъэдэлъ щымыIэу, дунейми къытебгъэхьэщэ мыхъуну… УтекIуэдэнкIэ хъунути, гъэпщкIуауэ яIыгъыурэ яхъумащ. Сэри сыщIалэжь цIыкIут, илъэсих-блы сыхъуу арат ахэр япэу щыслъэгъуам. А зи гугъу сщIа шифоньерым и къыдэгъэжхэр къыдэзгъэжурэ сеплъырт. А дыщэ хьэрфхэр зытрафыщIыкIа КъурIэныр си нэгу щIэту щIэсщIэжыр аращ. Мо щIалэжь цIыкIу зи къуейщIеигъуэм телевизор, компьютер щыщымыIэкIэ, къанэр тхылъхэрат… Апхуэдэу зетхьэурэ, 1960 гъэ нэужьхэм зэманри нэхъ щабэ хъуауэ, Дагъыстэным къокIри Къэбэрдей-Балъкъэрым зылI къокIуэ. Иджы мобы Кавказ Ищхъэрэ псом къыщацIыхуу щIэныгъэ щыбгъэдэлъакIэ, яцIыхунтэкъэ? «Щоджэн Алихъан-хьэжы зыщыщыр дэнэ?» - жиIэу щыщIэупщIэм, «Куба къуажэ» къыжраIэ. Къытредзэри Куба къокIуэ. КъыздэкIуам къуажэ ефэндыр къегъуэтри щIоупщIэ, ефэндыми дагъыстэн лIыр ди деж къешэ. ЛIыр къокIуэри, ди анэм къыжреIэ: «Щоджэн Алихъан-хьэжы и тхылъхэр фи деж зэрыщыIэр дощIэ. Апхуэдэу гъэру щылъ нэхърэ нэхъыфIщ, ягъэ кIынкъым, дыхэвгъаплъэ». Къуажэ ефэндыми «Диныр ипэкIэ игъэкIуэтэнумэ, шэрихьэт щIэныгъэм хуэщхьэпэнумэ, мы лIыр еджэфыну жеIэри хэдвгъэгъаплъэ», - жи. Ди анэ мыгъуэм апхуэдиз илъэс бжыгъэкIэ ихъумати, «Дунейм ехыжам щейкIэ, дэнэ кIуэн, Алыхьым и псапэ лъигъэс», - жеIэри, шифоньерыбжэр къыхузэIуах лIым. Адыгэм «шей ефэгъуэ» жыхуиIэр зэфIэкIа къудейт, хьэщIэр ди унэм къыщыщIыхьам, сыхьэтибгъу нэужьхэрат. Мис абдежым щегъэжьауэ дотIысхьэ шкафми, дахэу ичынды нэмэзыр зэфIэкIауэ ахъшэмыр къэблэгъэху тхылъым хос. КIапсэ къегъуэт, егъэтIылъ зэпэплIимэуи, абы тез ещI тхылъхэр. Дэ гъуэгу Iуфэм дыIуст, автобусхэр зекIуэрт а зэманми, автобус къэувыIэпIэм щытеувэжам тхылъхэр и гуфIакIэхэм дэлът, и блэгущIэхэм щIэлът. НэгъуэщI хьыпIэ къыхуэмынэжауэ зэфIэувэжри, тхылъу худэхыр и IитIымкIэ къеIэтри йожьэж. Къытригъазэурэ щэ къэкIуэгъуэ Дагъыстэным къикIащ, мо щIэныгъэ зыбгъэдэлъам къыщIэна тхылъхэм хъугъуэфIыгъуэу хэлъыр хихащ, хуэхьыр ихьащ. Абы нэмыщIкIэ хамэ къуажэ адэ-модэкIэ къикIыурэ къыщIэупщIэIамэ, ди анэ мыгъуэм игуэшащ. Мэжджытым пхьырэ щIэплъхьэкIэ сытыт, щIэныгъэ зыбгъэдэлъ Къэбэрдейм щимысыжкIэ?! Апхуэдэурэ къэгъуэгурыкIуащ тхылъхэр. Иджы ахэр сэ къысхуэнауэ сиIэти, зы щэ ныкъуэм нэблэгъэнт я бжыгъэр. Илъэсищэм щIигъужауэ щытщ ахэр, щызгъэлъэгъуат мы Iэшэлъашэхэми, щIэзыджыкIыфын апхуэдэу срихьэлIакъым. Иужьым Сирием къикIауэ мы ди мэжджытым Къанкъулхэ Сэлихь жаIэри зы щIалэ къыщызихьэлIащ, адыгэ Iэпхъуахэм ящыщу. «Мыращ, си анэ дэлъхум къыщIэнауэ мыпхуэдэу диIэщи, ухэзгъэплъэнут», - жызоIэ Сэлихь. Ар езыр КъурIэныр гукIэ ищIэу, хьэрыпыбзэм нэгъэсыпауэ хуэшэрыуэу, щIэныгъи бгъэдэлъу апхуэдэти, къызошэ ди деж. Тхылъхэр къыщIэтхьэу утыкум къидгъэува нэужь, Сэлихьым игъэщIэгъуащ: «Толъкуныр къиурэ дунейм къытехьауэ щытамэ, мис абы хуэдизын щIэныгъэ бгъэдэлъащ абы» жиIащ а зыхэзгъэплъа тIэкIум щхьэкIэ. Абы зы Iэрытххэр IэкIэ итхауэ иIэти, апхуэдэу дахэу, къабзэлъабзэу тхэ слъэгъуатэкъым. ИужькIэ дызэхуэзэри, аргуэру тхылъ хъыбар къыщыхъеижым, мыпхуэдэу Бахъсэн дэт мэжджытышхуэм апхуэдэ тхылъыжьхэр щызэхуахьэс, ухуейуэ щытмэ, Iимамым жетIэнщи, абы щIэтлъхьэнщ жиIащ. Сэри: «ЩIалэгъуалэм сэбэп яхуэхъунумэ, сэ абы щхьэкIэ зэран сымыхъун», жысIэри арэзы сыхъуащ. «Сэ мыбы хэсщIыкI щыIэкъым, ауэ хэкум ирамышу къинэжынумэ, щхьэпэ хъунумэ, еджэн щыIэмэ…» - жысIэри зы пщыхьэщхьэ гуэрым щIалэ зыбжанэ хъухэу къезгъэблагъэхэри тхылъхэр естащ. Тхылъхэм хэплъэу, музейхэм зэрыщIалъхьэм ещхьу псалъащхьэ тедзауэ езыхэм къызэрагъэпэщ библиотекэм щIалъхьэну сыкъагъэгугъащ. Хэплъа нэужь, унагъуэм фэеплъу къинэмэ нэхъыфI гуэрхэри къыхахыу къызатыжыну жаIащ. Сэ езым сигу пымыкIыу унэм къыщIэзнауэ мис мыр зызохьэ (Саблуков Гордий япэ дыдэу урысыбзэкIэ зэридзэкIа КъурIэныр, и хьэрыпыбзэр къэзан зэрыбкIэ къэщыпауэ, урысыбзэри къыгуэту.) Мыр зыми схуетынутэкъым. Урысыбзэм иджыри «Ъ» («ять» зи фIэщыгъэ хьэрфыр) щыхэта зэманым традзащ мыр. Мыр ещанэ къыдэкIыгъуэщ, I907 гъэм традзащ, илъэсищэрэ пщIырэ мэхъу. Мыр ди анэ мыгъуэр псэууэ, «ЗэрывиIэр дощIэ», жиIэри щIалэ гуэр къыдэлъэIури, Псыхуабэ дэт тхылъ тедзапIэм копие плIыщI щытрыригъэщIыкIауэ щытащ. Алихъан-хьэжы сэ нэхърэ нэхъ гъунэгъу Iыхьлыи иIэщ, ауэ къуажэм щыдэмысакIэ, мыбдеж гъунэгъуу щымыпсэуакIэ, дэнэ щащIэн? Дунейм ехыжа ди адэмрэ а си адэ шыпхъу тхьэмыщкIэмрэ сабийуэ къахьыжхэри, Щоджэнхэ япIыжащ, аращ дэ хъыбар нэхъыбэ зэхэтхыжа щIэхъуар. Уэгъум теухуа хъыбар Еуэри уэгъу хъуат, жи. Мэкъумэшыр губгъуэм яфIрисхьэжу апхуэдэ гъэмахуэт. Алихъан-хьэжы еджакIуэ щIалэт, зыгъэпсэхугъуэм унэм къэкIуэжауэ исти, жэмыхьэтым хэт лIыжьхэр къыхуокIуэри жаIэ: «Ярэби, мыпхуэдэ къулейсызыгъэ къытлъоIэс, Алыхьышхуэ закъуэм и хэкIыпIэ гуэр щымыIэу пIэрэ мыбы дыкъелыну?». «ЩыIэщ», - къажриIащ. Мис мыбдежым Гупэпс жеIэри псы гуэр ежэхыу щытащ. Мэрем махуэм я нэгум щIэкIыжауэ аращ мыр. Унагъуэхэр иджыпсту хуэмыдэу зэбгрыдзауэ щысхэти, жумгьэ нэмэзыр ящIа нэужь, «КъурIэн къабзэлъабзэу икIауэ лIы балигъ щэщIрэ щырэ фыкъыхэкI» яжреIэ. КъыхокIхэри, йожьэ Алихъан и гъусэу. Мыбдежым удэплъмэ, бгы хуэдэу щытщ. А бгы лъапэм деж лIы щэщIрэ щыр мэтIысри, КъурIэным щыщу «мыбы феджэ» жыхуиIэхэм йоджэ. ИтIанэ езым «амин» къыздыжыфIэ жеIэри духьэхэр къебж. Апхуэдэу здэщысхэм зыми зихъуэжыртэкъым жаIэ. ИтIанэ Алихъан: «КхъыIэ, фынехыжи щIэрыщIэу андез дывгъэщтэж», яжреIэ. Андез ящтэжа нэужьым: «Ягъэ кIынкъым, узыншагъэкIэ андез зыхуэмыIыгъ къыфхэтмэ, бгым фыныдэмыкIыж», яжреIэ. Арати, зи ныбжь хэкIуэтэпауэ лIищ бгы лъапэм деж къыщонэ яхэмыхьэжу. Мо гупым аргуэру КъурIэн еджэн щIадзэжащ. Тхьэ яIуэ, асыхьэтым мо ипщэрабгъумкIэ пшэ фIыцIэхэр джэрэзу, джэрэзу, адрей пшэхэм яхэмызэрыхьу къызэрыкъуэхыу къащхьэщыхьауэ. «Иджы, - яжриIащ Алихъан-хьэжы, - фи КъурIэнхэр зэгуэфпIи, щхьэж гъунэгъуу вгъуэт унагъуэхэм зыныщIэвдзэ». Я КъурIэн тIэкIур псыф ямыщIын папщIэ я гуфIакIэхэм дэлъу, къыщэпхъуэхэри къэкIуэжахэт жаIэ, толъкуным хуэдэу къех уэшхым хэту. ЩIэныгъэр Iэщэм хуэдэкъабзэщ Ар Алыхьышхуэм фIыуэ илъэгъуа цIыхут. И хьэлкIэ щабэу, къэгубжь-нэгубжь щымыIэу апхуэдэт жаIэ. ЩIалэгъуалэр тIэкIу дэгушыIэу ауан щащIхэм дежи, зыкъомрэ зыри жимыIэу щыст, къилъ-къипкI хэлътэкъым. Дунейм щехыжам илъэс 38-рэ хъууэ арат. Гуащэгъагъ мыгъуэм жиIэжырт абы и псалъэу: «ЩIэныгъэ зэбгъэгъуэтыныр тэмэмщ, ауэ жэнэтым узэрыхуишэм хуэдэкъабзэу жыхьэнмэми уишэфынущ абы. Iэщэм хуэдэ дыдэщ щIэныгъэр: уиукIыжынкIи хъунущ, ухуэмысакъмэ». Ар дахэ дыдэу жиIэжырт, сэ схужыIэжыркъым... Епсэлъар Чэрим Марианнэщ Къэбэрдей полкым и молэ Щоджэн Алихъан Щоджэн Алихъан теухуауэ урысыбзэкIэ щыIэ дэфтэрхэр зэзыгъэуIуари, ахэр утыку къизыхьари тхыдэр зи щIасэхэм фIыуэ яцIыху щIэныгъэлI Опрышкэ Олегщ. Алихъан-хьэжым теухуауэ дызыщымыгъуазэ хъыбарыщIэ гуэр щыIэу пIэрэ жытIэу упщIэкIэ зыщыхуэдгъазэм, щIэныгъэлIым къыджиIа псалъэхэри щхьэпэщ: «Щоджэн Алихъан нобэр къыздэсым хуэфащэ пщIэ зымыгъуэта цIыхушхуэщ. Абы хуэдэу Урысейми, и лъэпкъми, и динми хуэпэжа цIыху мы щIыналъэм щыгъуэтыгъуейщ». Газетеджэхэм папщIэ къыдохь Опрышкэ «Кавказ шуудзэ» и тхылъым Къэбэрдей полкым щхьэхуэу щыщытепсэлъыхьым Щоджэн Алихъан теухуауэ итхахэмрэ Япэ дунейпсо зауэр илъэсищэ щрикъум «Кавполит» интернет сайтым 20I4 гъэм бадзэуэгъуэм и 19-м ирита «Къэбэрдей полкыр зэрызэфIагъэувауэ щытар» и интервьюм щыщ пычыгъуэхэмрэ, зы тхыгъэу зэхэгъэувауэ. Къэбэрдей полкыр ислъам диныр зезыхьэ адыгэрэ балъкъэру зэрызэхэтым къыхэкIыу, Кавказ шуудзэм и адрей полкхэм ещхьу, и унафэщI гупым молэ хэтыныр хабзэт. Зауэ IэнатIэм Iут шууейхэм я дежкIэ абыхэм я мыхьэнэр ин дыдэт, урысыдзэм попхэм щагъэзащIэ къалэным ещхьу. Подполковник Къылышбийм игу къигъэкIа нэужь, Къэбэрдей полкым и командир Воронцов-Дашков Илларион а къалэн лъагэр Налшык округым и Бгырыс хейщIапIэм и къады, Куба къуажэм щыщ Щоджэн Алихъан Идрис и къуэм и пщэ дилъхьэну мурад ищIащ. Мэчэрэ Мадинэрэ щIыпIэ гъэлъэпIахэм зэрыщыIам и щыхьэту, муслъымэнхэр абы «хьэжыкIэ» еджэт. Щоджэн Алихъан щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ, пщIэшхуэ зыхуащI цIыхут. Абы къэухьышхуэ зэриIам и щыхьэтщ I9I3 гъэм жэпуэгъуэм и 20-м иджыри «слобода» цIэр зезыхьэ Налшык «къэбэрдей лъэпкъымрэ бгырыс зэгухьэныгъэхэмрэ я мылъкукIэ» Къэбэрдей-Бгырыс реальнэ училищэр къызэрызэIуахым папщIэ яIэта тхьэлъэIум къыщипсэлъар. «Лъэпкъым и къады, Щоджэн Алихъан-хьэжы адыгэ, балъкъэр еджакIуэ цIыкIухэм нобэми зи мыхьэнэр емыхуэха псалъэ гунэскIэ захуигъэзащ», - итхыжащ «Терские ведомости» газетым а Iуэхугъуэм теухуауэ, Алихъан и псалъэ купщафIэхэри къихьу: «ФIыуэ фызэреджэнум зэрыфхузэфIэкIкIэ иужь фит, къывата тыншыгъуэхэр къэвгъэщхьэпэ. Зыщывмыгъэгъупщэ: щIэныгъэр нэхущ, акъылыр къарущ. ЩIэныгъэ зимыIэм зыри къехъулIэнукъым. Лъэпкъ щIэныгъэншэхэр тхьэмыщкIэщ, апхуэдэхэр лъэпкъ зызыужьахэм я унафэ щIэмыхуэнкIэ Iэмал иIэкъым. Ауэ щIэныгъэ лъагэ щызэвгъэгъуэткIэ, динри зыщывмыгъэгъупщэ. Акъылым къызэщIиубыдэми, нэр зытеплъэми я щхьэщыгу псори къэзыгъэщIа Алыхьталэр зэритыр фигу ивмыгъэху. ФыкъызыфIэмыщIыж, абы куэд текIуэдащ. Дин зезыхьэращ щIылъэм лъэ быдэкIэ тетыр, Iиманыншэр жьым зэрихьэ тхьэмпэм ещхьщ. Аращи, фыкъызыхэкIахэр вгъэгуфIэу, лъэпкъми Урысей къэралышхуэми фахуэщхьэпэу феджэ, фи гъуэгур зэIухащ». Мис апхуэдэт хэкуми лъэпкъми япэIэщIэ хъуныр зи натIэ ит, фIэщхъуныгъэкIэ езым къыгухьэ и лъэпкъэгъу адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ дин гъуазэ яхуэхъуа Щоджэн Алихъан. Къэбэрдей шуудзэ полкыр зэрызэфIагъэувауэ щытар Дзэм щызекIуэ хабзэмкIэ, полкым офицер тIощIрэ тIу, къулыкъущIэ нэхъыщхьэу нэрыбгищрэ, зы молэ, «шукIэ» зэджэ къызэрыкIуэ зауэлIу щитхурэ блыщIрэ тхурэ, къинэмыщIауэ зауэлI нэхъыщIэу хыщIрэ и хэтын хуейт. ИтIани шухэм я бжыгъэр щихрэ пщыкIутхум нэсащ. Дохутыру илъэс плIыщI зи ныбжь Щоджэн Бэчмырзэ къащтат, Iэщ дохутыру – Мантойфель зи унэцIэ гуэр. Полкым и молэуэ езы командирым и жэрдэмкIэ Бгырыс хейщIапIэм и къады Щоджэн Алихъан ягъэуват. Абы Налшык округым пщIэшхуэ щиIэт, Мэчэрэ Мадинэрэ зэрыщыIам папщIи «хьэжыкIэ» къеджэхэт. Офицерхэм Налшык округым щыпсэу лъэпкъхэм нэмыщI, урысхэри яхэтт… ЗауэлIхэм я шхыныр шуудзэм и полк псоми щызэрахьэ диным игъэкъабылу щытын хуейт. Шухэмрэ офицерхэмрэ я нэхъыбэр муслъымэнти, кхъуэлри императорыдзэм щыщ урыс сэлэтхэм ират хабзэ аркъэри ерыскъым хэтыххэтэкъым. Полк къэс езым и хабзэ иIэжт, я нэхъыбэр IэнатIэкIэ нэхъ лъагэ-нэхъ лъахъшэм емылъытауэ, нэхъыжьыгъэ-нэхъыщIагъэм тетт, динкIэ зэтемыхуэми, я зэхуаку пщIэрэ нэмысрэ дэлъын зэрыхуейм тещIыхьат. Къэбэрдей полкым а хабзэр зэрыщаIыгъам теухуауэ Арсеньев Алексей етхыж: «Офицерхэмрэ шухэмрэ я зэхущытыкIэр император шуудзэм и адрей полкхэм щызекIуэм хуэдэтэкъым. Псалъэм папщIэ, офицерым и щIыб къыдэт шугъусэм зэчыр къыхидзэн е къыдэуэршэрын щIидзэн жыхуэпIэр зыми щыщтэкъым. НэгъуэщIу жыпIэмэ, унагъуэ хуэдэу зэхэтхэрт, зауэ IэнатIэм щахь къалэным зыкIи зэран хуэмыхъуу, хабзэ дахэхэр я зэхуаку дэлъу. Макъым зебгъэIэтыныр емыкIушхуэу къыщалъытэт». ТхьэрыIуэр I9I4 гъэм фокIадэм и 7-м екIуэкIащ. ФокIадэм и 7-м цIыхубэ къады, Къэбэрдей полкым и молэ Щоджэн Алихъан полкым и командир, полковник Воронцов-Дашковымрэ подполковник Бекович-Черкасскэмрэ щыту муслъымэн зауэлIхэм тхьэ яригъэIуащ: «Николай ЕтIуанэр зи император Урысей къэралыгъуэм хуэпэжыну, ялъ ягъэжэнкIэ, я гъащIэм емыблэжынкIэ, къимыкIуэту псэ яIутыху зэуэнкIэ». Щоджэн Алихъан-молэм тхьэрыIуэр къипсэлъа иужь, зауэлI къэс тхылъымпIэм Iэ тридзащ, е нэгъуэщIу жыпIэмэ, лэчым хэщIа я Iэпхъуамбэ иIар «ТхьэрыIуэ тхылъым» и лъабжьэм трагъэуащ. Абы игъэIурт: «Уэлихьи, Билихьи, Талихьи. Алыхьталэм и пащхьэм КъурIэнымкIэ щызоIуэ Зи щIыхьыр ин Урысейм и пащтыхь Императорыр згъэпэжынкIэ; слъэкI къэзмыгъанэу унафэу къысхуащIыр згъэзэщIэнкIэ; си къалэным семыбэкъуэнкIэ, си зэран мылъкукIи къарукIи зыми езмыгъэкIынкIэ; унафэ къысхуащIар си пщэрылъу слъытэу згъэзэщIэнкIэ, а псомкIэ хабзэмрэ Алыхьталэм и пащхьэмрэ къемэт махуэм жэуап зэрыщысхьыжынур зыщызмыгъэгъупщэу. Абы и щыхьэту КъурIэным ба хузощI. Амин». МазэкIэ ягъэса нэужь, I9I4 гъэм жэпуэгъуэм и I-м шуудзэ полкыр КъалэкIыхь мафIэгу тедзапIэм текIри, Ипщэ-КъухьэпIэ фронтым иунэтIащ. Полкым и молэ Щоджэн Алихъан и лъэпкъэгъу адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ зауэ IэнатIэми махуэкъэс гъащIэми гъуазэ - а псалъэм и мыхьэнэ нэхъ лъагэр къызэщIиубыдэу - яхуэхъуащ. Шухэм я гъусэу ар бийм теуэрт, зэуапIэм и нэхъ гугъупIэхэм деж щIэгъэкъуэн щахуэхъурт. Апхуэдэ зы щапхъэщ КъухьэпIэ Украинэм хыхьэ Ивано-Франковск къалэм пэгъунэгъуу Подгорки къуажэм къыщыхъуар. Молэм и хахуагъым и хьэтыр илъагъуу, полкым и командир Воронцов-Дашков Илларион абы «Георгий лъапIэм жор» дамыгъэр къратыну щIэлъэIуащ. Муслъымэн къулыкъущIэм «Георгий лъапIэм и жор» къызэрырартар игъащIэм къэмыхъуа Iуэхугъуэт. Кавказ шуудзэм и полкихым щыщу Къэбэрдей шуудзэ полкым и молэ Щоджэн Алихъан и закъуэт апхуэдэпщIэ къэзылэжьыфар. Щоджэн Алихъан и лIыгъэр иджыри къыщигъэлъэгъуащ I9I5 гъэм и фокIадэм Днестр и Iуфэ сэмэгум щекIуэкIа зэхэуэм. Къэбэрдей полкым и командир Воронцов-Дашковым ар къыщыхигъэщым итхт: «Къэбэрдей полкым и молэ Щоджэн Алихъан Идрис и къуэм Георгий и жорыр зэрехьэ. Хъыбар фызогъащIэ абы «прапорщик» цIэр къыфIащыныр зэрысфIэигъуэмкIэ. I9I5 гъэм фокIадэм и I0-м Доброполе къуажэм деж топышэри фочышэри къытелъалъэу ар, бийм ебгъэрыкIуэ зауэлIхэр псалъэрэ щапхъэкIэ игъэгушхуэу, ябгъурытащ, абы къыхэкIыуи муслъымэн шууейхэм хахуагъ къызэрымыкIуэ къагъэлъагъуэри, мэжэр лъэсыдзэм щыщу зауэлI 300 гъэру къаубыдащ. Зауэ IэнатIэм молэ Щоджэн Алихъан хахуагъ псэемыблэжкIэ Iутщ, къэрабгъэхэр игъэгушхуэу, бийм ебгъэрыкIуэ зауэлIхэр къимыкIуэтынымкIэ щапхъэ яхуэхъуу, полкым къехъулIахэри куэдкIэ абы и фIыгъэщ. Щоджэныр офицер тщIыным мыхьэнэшхуэ иIэнущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы и фIыгъэкIэ зауэлIхэм молэм пщIэ къыхуащIым нэхъри хэхъуэнущ, зауэ IэнатIэм зэрыбгъэдэт щIыкIэри ефIэкIуэнущ». А гъэ дыдэм Воронцов-Дашковым Кавказ шуудзэм и унафэщIым лъэIу тхылъ хурегъэхь Щоджэн Алихъан-молэм Станислав лъапIэм и орденым и ещанэ нагъыщэ кърыригъэтыну. Жэуапу дивизэ штабым и унафэщI полковник Юзефович Яков къетхыж: «1915 гъэм фокIадэм и 10-м екIуэкIа зэхэуэм щызэрихьа лIыгъэм папщIэ Щоджэн Алихъан-молэм маисэхэмрэ бырыбхэмрэ зыщIыгъу, Станислав лъапIэм и дамыгъэм и ещанэ нагъыщэр хуэфащэу къыдолъытэ». Къэбэрдей полкым ехьэлIа унафэ №158-м, I9I6 гъэм накъыгъэм и 24-м къыдэкIам, къыщокIуэ: «Брусиловым и ехъулIэныгъэ» фIэщыгъэмкIэ тхыдэм къыхэна, 1916 гъэм накъыгъэм и 22-м Ипщэ-КъухьэпIэ фронтым и дзэхэр бийм щытеуэм щыгъуэ, Щоджэн-молэр Буковинэ деж, Прут псыежэхым и Iуфэ сэмэгум хуэзэ Окно къуажэм пэгъунэгъуу екIуэкIа зэхэуэм и Iэблэм шэпхъ къыщытехуэри, уIэгъэ хъуащ. Абы щхьэкIэ къэмынэу, зи гугъу тщIы молэр зауэ IэнатIэм къыIунащ. А уIэгъэр абы и зауэлI ехъулIэныгъэхэм хэлъытапхъэщ». 1918 гъэм и жэпуэгъуэм Налшык Даутокъуэ-Серебряковым щибыдам щыгъуэ, Щоджэн Алихъан Налшык округым и хеящIэ Комиссэм хагъsхьэри, щэкIуэгъуэм и 2-м Налшык округым и Кассационнэ судым, «Округ хейщIапIэхэм я Шэрихьэт къудамэм» щыщ хъуат. Даутокъуэ-Серебряковым и дзэр икIуэту Къэбэрдейм икIа нэужь, Щоджэн Алихъан Идрис и къуэр абыхэм я гъусэу имыкIыу езыр щалъхуа Хьэсэнбий къуажэм (иджы Куба) дэсащ. Шуудзэм къыхашыжу 1917 гъэм и фокIадэм лъэпкъым и унафэм зэрыщIэувэж лъандэрэ абы адыгэ (къэбэрдей) лъэпкъым и пащхьэм и напэр щыкъабзэу зилъытэжт. ИтIани гущIэгъу хуащIакъым… Архив дэфтэрхэм ятх: «Офицер хужь Щоджэн Алихъан большевикхэм 1918 гъэм и кIэм яукIащ». ОПРЫШКЭ ОЛЕГ, Къэбэрдей-Балъкъэрым гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и щIэныгъэрылажьэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ. ЗауэлI молэ Зауэ IэнатIэм Iута чыристан дин лэжьакIуэхэм я бжыгъэр куэдыкIейщ. Гъунэгъу къэралхэм езауэ зэпыту къекIуэкIа Урысей къэралыгъуэм и армэм и дин гъуазэхэр нэгъунэ хигъэхьащ, абы къыхэкIыу зауэлI дамыгъэ щоджэным и бгъэм хэлъу плъагъуныр бгъэщIэгъуэн хуэмеиж Iуэху къызэрыкIуэ хъуат. Абыи къыщымынэу, щапхъэ щхьэхуэхэр щыIэщ зауэлIхэр зэрагъэлъапIэ нагъыщэхэмкIэ чыристанхэм нэмыщI, нэгъуэщI дин зезыхьэхэри къыщыхагъэща. Шуудзэ Щхьэмыгъазэ цIэр зезыхьэ Кавказ лъэпкъ шууей дивизэр цIэрыIуэ хъуат Зауэшхуэм и лъэхъэнэм. Армэм къулыкъу щащIэну къэрал хабзэкIэ къызытемыхуэ кавказырысхэм я гукъыдэжкIэ къызэрагъэпэща а шуудзэр 1914 гъэм зауэ IэнатIэм Iухьэну хунэсри, австрийцхэм япэщIэувакIэт. Шуудзэ Щхьэмыгъазэм и япэ унафэщIу щытар а лъэхъэнэм пащтыхьу тета Николай ЕтIуанэм и къуэш нэхъыщIэ Романов Михаилщ. Япэ дыдэ зэфIагъэувари Къэбэрдей шуудзэ полкырщ. Абы зауэлI къызэрыгуэкIыу 615-рэ хэтащ, 431-р къэбэрдей адыгэу, 75-р балъкъэру. Шуудзэм молэ иIэн хуейуэ къэралыгъуэм хабзэкIэ къигъэуват. Къэбэрдей полкым а къулыкъур Щоджэн Алихъан щызэрихьащ. 1915 гъэм и мазаем Шуудзэ Щхьэмыгъазэр, Карпатхэр къуршхэм деж щекIуэкIа зэхэуэ ткIийхэм хэтагъащIэу, Самбор къалэм пэмыжыжьэу Станиславов деж (иджырей Ивано-Франковск) бийм щебгъэрыкIуэн хуей хъуащ. Мазаем и 13-м полкым унафэ къыIэрыхьащ Подгорки къуажэр иубыду шуудзэр Станиславовым пэIэщIэ ящIын папщIэ ялъэкI къамыгъанэу къебгъэрыкIуэ австрийцхэм псы зэпрыкIыпIэр Iэрамыгъэхьэу яхъумэну. МахуитIкIэ, мазаем и 13-14 - хэм австрийцхэм зэпыу ямыIэу топышэр трагъэлъэлъащ къэбэрдейхэм зыщаIыгъ щIыпIэм, ауэ полкыр и пIэм ирагъэкIыфакъым, езыхэри къатеуэну тегушхуакъым. И лъахэгъу муслъымэнхэм я гъуазэ, Къэбэрдей полкым и молэ Щоджэн Алихъан лIыгъэшхуэрэ хахуагърэ къыщызыкъуихащ Подгорки деж. Полкым и командирым лъагэу иIэтащ къадым и фIыщIэр икIи щхьэкъэIэтыпIэ къезымыт топышэхэм ямыгъэдзыхэн хуэдэу, зауэлIхэр зыгъэгушхуэфа Алихъан-хьэжы «Георгий и жор» дамыгъэр къратыну хуигъэфэщащ. Шуудзэ корпусым и командир генерал-лейтенант Нахичеванский Гуссейн-Хъан итхыжа унафэм къыхощ: «Къэбэрдей шуудзэ полкым и къады Щоджэн Алихъан Подгорки къуажэм деж щекIуэкIа зэхэуэм полкыр езым и гупыжкIэ щришажьэри, зэпыу зимыIэ топышэхэмрэ фочышэхэмрэ япимыкIуэту, игъэгушхуа зауэлIхэм лIыгъэшхуэ зэрахьэнымкIэ щапхъэ яхуэхъуащ». Дин лэжьакIуэхэм ящыщу пщIэ нэхъ лъагэ дыдэ зиIэу къалъыта зауэлI молэр иужькIэ прапорщик ящIри, офицерхэм хагъэхьащ. Зауэ нэужьым, куэд дэмыкIыу Щоджэн Алихъан и гъащIэм гузэвэгъуэ къыхэхьащ. 1917 гъэм «Бгырыс республикэ» фIэщыгъэмкIэ тхыдэм къыхэна, «Кавказ Ищхъэрэм, Дагъыстэным, Абхъазым щыщ бгырысхэм я Зэгухьэныгъэ» Урысейм щызэфIэува нэужь, Щоджэн Алихъан абы и Дин къудамэм къэбэрдей лъэпкъым къыбгъэдэкIыу хагъэхьэ. 1918 гъэм и фокIадэм Щоджэн Алихъан «Налшык округым и Лъэпкъ Хасэм и Дин къудамэм» къызэригъэпэща, Граждан зауэм и лъэхъэнэм зэпэщIэува лъэныкъуэхэр зэгъэкIужыным хуагъэпса Комиссэм щолажьэ. А илъэс дыдэм и щэкIуэгъуэм Алихъанрэ и къуэшхэмрэ большевикхэм яукIащ. «Дружина» тхыдэ-литературэ журналым и Интернет-сайтым къитхащ. Алихъан «Къэбэрдей дин щIэныгъэлIхэм Щоджэн Алихъан хуэдэу еджарэ пщIэ зиIэрэ яхэтакъым», - жаIэж и лъэхъэнэгъухэм. Къэбэрдей шуудзэ полкым и командир Воронцов-Дашков Илларион 1914 гъэм Щоджэн Алихъан полк молэуэ игъэувауэ щытащ. Ар графым игу къэзыгъэкIар Налшык округым и тепщэ Къылышбий СулътIанбэчт. Щоджэн Алихъан Куба (ХьэтIохъущыкъуей Ещанэ) къуажэм къыщалъхуащ. А зэманым ар Налшык хейщIапIэм (Нальчикский словесный суд) и къадыуэ лажьэт, Мэчэмрэ Мадинэрэ хьэжыщI зэрыщыIам къыхэкIыуи «хьэжы» цIэ лъапIэр зэрихьэт. Мазэ зыбжанэ ипэкIэ ар Александр Ещанэм и цIэкIэ къызэIуах Къэбэрдей-бгырыс реальнэ училищэм иращIэкI тхьэлъэIум Налшык округым и дин лэжьакIуэхэм къабгъэдэкIыу къыщыпсэлъат. Абы теухуауэ 1913 гъэм жэпуэгъуэм и 31-м къыдэкIа «Тэрч хъыбархэм» («Терские ведомости») итхыжащ: «ЦIыхубэм къыбгъэдэкIыу Щоджэн Алихъан-хьэжы еджакIуэ цIыкIухэм - адыгэхэм, балъкъэрхэм, урысхэм - мы псалъэхэмкIэ захуигъэзащ: «ЗэрыфхузэфIэкIкIэ фIыуэ фызэреджэным иужь фит, къывата тыншыгъуэхэр къэвгъэщхьэпэурэ. Зыщывмыгъэгъупщэ: щIэныгъэр нэхущ, акъылыр – къарущ. ЩIэныгъэ зимыIэм зыри къехъулIэнукъым. Лъэпкъ щIэныгъэншэхэр тхьэмыщкIэщ, апхуэдэхэр лъэпкъ зызыужьахэм я унафэ щIэмыхуэнкIэ Iэмал иIэкъым. Ауэ щIэныгъэ лъагэ щызэвгъэгъуэткIэ, динри зыщывмыгъэгъупщэ, акъылым къызэщIиубыдэми, нэр зытеплъэми я щхьэщыгу псори къэзыгъэщIа Алыхьталэр зэритыр фигу ивмыгъэху. ФыкъызэфIэмыщIыж, абы куэд текIуэдащ. Дин зезыхьэращ щIым лъэ быдэкIэ тетыр, Iиманыншэр жьым зэрихьэ тхьэмпэм ещхьщ. Аращи, фыкъызыхэкIахэр вгъэгуфIэу, лъэпкъми Урысей къэралышхуэми фахуэщхьэпэу, феджэ, фи гъуэгур зэIухащ». Зауэм зэрыщIидзэрэ полкым и молэ Щоджэн Алихъан зауэм хэкIуэда е уIэгъэ хъууэ дунейм ехыжа и къуэш муслъымэнхэр щIилъхьэн пщэрылъ гухэщIыр къыIэрыхьат. Ауэ а лIы хахуэм и зэфIэкIхэр аркъудеймкIэ иухыртэкъым. I9I5 гъэм гъатхэпэм и 29-м шуудзэр бийм щебгъэрыкIуэм, Щоджэн Алихъан къигъэлъэгъуа лIыгъэм щыгъуазэ полковник Бекович-Черкасский и гупыжкIэ абы Георгий и цIэр зезыхьэ орденым и еплIанэ нагъыщэр къыхуагъэфэщащ. Апхуэдэ къыщыхъур закъуэтIакъуэххэт икIи а щапхъэм куэд къыбжеIэ Къэбэрдей шу полкым щыщ и лъэпкъэгъухэм я къыщхьэщыжакIэу щыта Алихъан-хьэжы фIыуэ далъэгъуам теухуауэ. А гъэ дыдэм, 1915 – м и фокIадэм Щоджэн Алихъан иджыри зэ фIыкIэ гу залъригъэтащ. Ар къыхощ Къэбэрдей полкым и командир граф Воронцов-Дашков Илларион и унафэщIхэм яхуригъэхьа тхылъым: «Щоджэн Алихъан прапорщик цIэр етын хуейуэ къызолъытэ: 1915 гъэм фокIадэм и 15-м Доброполе къуажэм деж топышэмрэ фочышэмрэ къытелъалъэу, ар япэрытащ бийм ебгъэрыкIуэ зауэлIхэм. Алихъан и пщIэмрэ зауэлIхэм захригъэха псалъэхэмрэ я фIыгъэкIэ муслъымэн зауэлIхэм хахуагъ къызэрымыкIуэ къагъэлъагъуэри мэжэр лъэсыдзэм щыщу зауэлI 400 гъэру къаубыдащ. Дэтхэнэ зэхэуэми Щоджэн Алихъан-молэр шынэ жыхуаIэр имыщIэу, езыри зэмыблэжыныгъэм и щапхъэу, сыт щыгъуи полкым и гупэ иту бийм теуэу, гу махэхэр игъэгушхуэу, пщIэ къыхуэзыщI полкым и ехъулIэныгъэхэм хэлIыфIыхьащ. Ар прапорщик, офицер тщIымэ, Iуэхур куэдкIэ нэхъ ефIэкIуэнущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, шууейхэм абы хуащI пщIэми куэдкIэ хэхъуэнущ». Фронтым и унафэщI Деникин Антон и унафэкIэ Щоджэн Алихъан прапорщик ящIауэ щытащ. Илъэсищ дэкIри Къэбэрдей шуудзэ полкыр Къэбэрдейм къэкIуэжащ. Ар къыщыхъуар 1917 гъэм и жэпуэгъуэрат. Абы и пэ Щоджэн Алихъан Къэбэрдей шуудзэ полкым щихь и зауэлI пщэрылъыр щхьэщыкIыжакIэт. Ар IупщI мэхъу полкым и командир Абеловым итхым: «ЕплIанэ унафэ: Къэбэрдей лъэпкъым и унафэм ихьэжа Щоджэн-къадым и пIэкIэ си нэIэ щIэт полкым и урядник нэхъыщIэ Махъсидэ Къазджэрий гъэувын. Унафэм къару егъуэт фокIадэм и 12-м щегъэжьауэ». Гугъуехь куэд зыпыщIа зауэ зэманыр блэкIат. Ауэ хьэжым и хэкум къыщыпэплъэр нэхъ хьэлъэжт. Къэбэрдей тхыдэм 1918 гъэр кIыфIыгъэм хэту къыщыхощ, Алихъан дежкIэ ар иужьрей илъэст. Гуузт мы къызэрымыкIуэу хахуэкIэ узэджэфыну лIы махуэм и натIэ итыр. И гъащIэ псор абы лъэпкъ Iуэхум тригъэкIуадэри езыри абы текIуэдэжащ. I9I8 гъэм «офицер хужь икIи къады» зыфIаща Щоджэн Алихъан «контрреволюционеру» ялъытэри и къуэш Нурмухьэммэдрэ Мытыкърэ къыдэщIыгъуу яукIащ. А зэманым хеящIэхэр Iуэхум елIалIэтэкъым. Большевикхэм абы къыхуамыгъэгъуар мыращ. Шу щищ и гъусэу фокIадэм Даутокъуэ-Серебряков Заурбэч Налшык къыщыдэхьэм, Налшык округым и цIыхубэм и етхуанэ съездым и лIыкIуэхэм унафэ къащтат: «Дин лэжьакIуэхэм ящыщу гуп зэгъэпэщауэ округым ис муслъымэнхэр зэрагъэкIуэжыну я пщэ дэлъхьэн». Даутокъуэ-Серебряков гурыIуэн хуей а Комиссэм пщIэ нэхъ лъагэ зиIэ дин лэжьакIуэхэм ящыщу Къэбэрдеймрэ Балъкъэрымрэ къыщыхаха цIыхуихым язт Щоджэн Алихъан. Иджыри зы: мы тхыгъэр зи IэдакъэщIэкIым зэкIэ архив тегъэщIапIэ иIэкъым, ауэ Щоджэн Алихъан Къатхъэн Назир и ущиякIуэу щытауэ хъыбар иIэщ. Архив тегъэщIапIэххрэ къытIэрыхьэмэ, ди мурадщ ар къыкIэлъыкIуэ тхыгъэхэм къыщыдгъэщхьэпэну. Аслъэн Хь. (ГъуаплъащIэ Заудин) «Политикэ щхьэусыгъуэкIэ 1918-1930 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэкIуэдахэр», 2009 гъэ. Къэбэрдей хьукмэтым большевикхэм 1919 гъэм зи мылъку зытрахахэр арэзы ящIыжын папщIэ зэригъэпэща «Комиссэм» и дэфтэрхэм щыщ пычыгъуэ 1918 гъэм и гъатхэпэм Къэбэрдейм Совет властыр щагъэува нэужь, цIыхубэр абы и телъхьэрэ и бийуэ гуэша хъуат. ВластыщIэр зымыдэхэр (пщы-уэркъхэр, дин къулыкъущIэхэр, офицерхэр, мэкъумэшыщIэхэр) дакъузэн щIадзащ, щапхъэм языхэзу, я мылъкур къытрахыурэ. Нэхъ гуащIэу «цIыхубэ властым и губжьыр» къыщыхъеяр 1918 гъэм и щэкIуэгъуэм Къэбэрдейр мазитIкIэ большевикхэм ящызыхъума Даутокъуэ-Серебряков Заурбэч и дзэр икIуэта нэужьщ. Зэзауэхэм щхьэзыфIэфIагъкIэ ягу трагъэзэгъэну мурад зэращIар нэрылъагъуу, унафэр зыIэщIэлъхэм езыхэм къагъэхъейр нэхъыбэт. Дзэ плъыжьым и сэлэтхэмрэ къуажэдэсхэмрэ властым зи ней щыхуахэм я унэ лъапсэхэр зэтракъутэт, я мылъкур къытрахт. 1919 гъэм и щIышылэм Къэбэрдейм «хужьхэр» къыдэхьа нэужь, большевикхэм лей зрахахэм я мылъкур Iэрагъэхьэжыну иужь ихьахэщ. Мылъку кIуэдам и уасэр къапщытэн папщIэ, «Комиссэм» лей зытехьа унагъуэхэм дэтхэнэ зы хьэпшып кIуэдами и цIэр къраIуэн хуейт, ар зэрыщытари зищIысри гурыIуэгъуэ хъун хуэдэу. А дэфтэрхэращ и тегъэщIапIэр 2013 гъэм Ехъутэныдж Хьэсэн къыдигъэкIа, мы пычыгъуэр къызэрытха, а лъэхъэнэм ди лъэпкъэгъухэм псэукIэу яIар кърипщIэнкIэ щхьэпэ хъун тхылъым. ФIыщIэ худощI тхылъыр къытIэрызыгъэхьа усакIуэ Щоджэн Леонид. Тхьэмадэм зэрыжиIэмкIэ, Щоджэн Алихъан и унагъуэм тыкуэн ягъэлажьэу щытащ, абы къыхэкIыу мы пычыгъуэм къыхэщ хьэпшыпхэм ящыщу унагъуэм зэрихьамрэ тыкуэным къыщIахамрэ зэхэбгъэкIыну гугъу мэхъу. Псалъэм папщIэ, чэнджэщэгъу тхуэхъуа, Щоджэн Алихан и шыпхъум и къуэрылъху Думай Хьэмидбий и унагъуэм «Алихъан-хьэжы пащтыхьым саугъэту къритащ» хужиIэу пащтыхь дамыгъэ зытелъ дыжьын бжэмышх илъщ. Дауэ хъуами, дызытепсэлъыхь нэрыбгэм дуней тетыкIэу иIам теухуауэ мыри зы тхыдэ щапхъэщи, гупсысэм щIэгъэкъуэн хуэтщIынкIэ утыку къитхьэныр тфIэзахуэщ. Большевикхэм щакIуэгъуэм и 22-м щегъэжьауэ 1919 гъэм мазаем и 1 пщIондэ яхъунщIахэр арэзы ящIыжын папщIэ зэрагъэпэща «Комиссэ». Председателыр – Къылышбий СулътIанбэчщ. Щоджэн Алихъан-хьэжы къытраха мылъкур: 1. Алащэ. 2. Шы. 3. ШыщIэ. 4. ФочитI. 5. ДыщэпскIэ гъэщIэрэщIа дыжьын къамэ. 6. ДыщэпскIэ гъэщIэрэщIа дыжьын бгырыпх. 7. КIэрахъуэ. 8. ДыщэпскIэ гъэщIэрэщIа дыжьын сэшхуэ. 9. ДыщэпскIэ гъэщIэрэщIа дыжьын уанэ. 10. Дыщэ сыхьэту - 2 11. Хьэзыр фIыцIэу – 12. 12. Дыжьын хьэзыру – 14. 13. Гъуэншэдж лъэпахъуэу – 2. 14. Шырыкъу. 15. IэлъэщIу – 24-рэ 16. Iэлъэу - 5. 17. Лъэпэду – 6. 18. Джанэу – 4. 19. КIагуэу – 5. 20. Бзылъхугъэ щIагъщIэлъу. 21. Бохъшэу – 2. 22. Бзылъхугъэ джанэу – 3. 23. Джэдыгу. 24. Цейуэ – 4. 25. Бжьэхуцу – фунти 6. 26. Бзылъхугъэ лъэпэдитI. 27. ЛентIу – аршыни 4. 28. ЩIакIуэ. 29. Щхьэрыхъуэн. 30. ПхъуантитI. 31. Къэпталитху. 32. ПыIитху. 33. ЩIагъщIэлъ. 34. Кэшмир абэ. 35. ЩIопщ. 36. Пащтыхьым и къуэ Михаил Александрович тыгъэ къыхуищIа мывэ лъапIэ сом I000 и уасэу. 37. Дыжьын жор (орден). 38. Сыхьэт зыхэт гъуджэ. 39. ТхылъымпIэ бэлътокуих. 40. IэнэтепхъуиплI. 41. Дыщэ бжэмышхыу – 6. 42. Дыжьын бжэмышхыу – 6. 43. Дамэтелъу – 4. 44. Iэгубжьэ игъэувапIэ дыщэу – 5. 45. Дыжын шалъэ (шэ зракIэ). 46. Дыщэ шыбзэ. 47. Дыщэ зытебза дыжьын бжэмышх. 48. Iэгубжьэ дыщэпс тегъэлъэдауэ. 49. Дыщэ медальон. 50. Дыщэ бгъэхэIу. 51. Дыщэ зытебза дыжьын бгырыпх. 52. Дыщэ Iэлъын. 53. Дыжьын къалэм. 54. Дыщэ зытебза дыжьын бгъэIулъ. 55. Дыщэ зытебза дыжьын Iэпщэхъу. 56. Дыщэ щIыIу (запонки) – 2. 57. ГъущI тепщэч. 58. Дыжьын Iэпхъуалъэ. 59. Дыщэ кIапсэ арщыни 6. 60. КъурIэнтебзэ дыщэ. 61. Iэлъын. 62. Бостейуэ - 8. 63. Шейуэ - 1 фунт. 64. Шейныч. 65. Кофейник.. 66. Кофе - 1 фунт. 67. Шоколаду - фунти 3. 68. Лэнысти 2. 69. КIэ шылэ. 70. IэлъэщIи 9. 71. Ахъшалъи 2. 72. Куэзыр, шылэхъар, хъуржын (сумкэ). 73. Шакъалъэ. 74. Шылэ бостеи 4. 75. Шылэ пщэдэлъи 2. 76. Шылэу - 1 фунт. 77. Бзылъхугъэ лъэпэд 12. 78. Шылэ Iуданэу топи 6. 79. Iуданэшэрхъ шылэ. 80. Iуданэ топ 12. 81. Бзылъхугъэ джани 6. 82. Сабий джани 6. 83. ЩэкI арщын 50. 84. Пхъуанти 3. 85. Бохъшэшхуэ. 86. Абдж (флакон). 87. Бзылъхугъэ Iэлъи 2. 88. ЛентI арщын 14. Псори зэхэту сом 940 040 и уасэ. ГъащIэ гъуэгур Щоджэн Алихъан-хьэжы Идрис и къуэр (1880–11.1918), прапорщикщ (1915), къэбэрдей адыгэщ, Хьэсэнбий къуажэм къыщалъхуащ. XIX лIэщIыгъуэм и кIэм щегъэжьауэ 1914 гъэм и щэкIуэгъуэ хъуху, къинэмыщIауэ - 1916 гъэм Налшык хейщIапIэм къадыуэ щылэжьащ, «дин лэжьакIуэ щIэныгъэ нэхъ зыбгъэдэлъхэм, пщIэ нэхъ зыхуащIхэм ящыщщ». Япэ дунейпсо зауэм - 1914 гъэм и шыщхьэуIумрэ 1917 гъэм и накъыгъэмрэ я зэхуакум - Кавказ лъэпкъ шуудзэм и Къэбэрдей полкым молэуэ (полк къадыуэ) щылэжьащ. «Георгий лъапIэм и жор» дамыгъэм и еплIанэ нагъыщэр 1915 гъэм фокIадэм и 29-м къратащ; Станислав лъапIэм и дамыгъэм и ещанэ нагъыщэр, маисэрэ бырыбхэмрэ зыщIыгъур абы къыкIэлъыкIуащ. Налшык слободам щыщщ. И унагъуэр: и щхьэгъусэ Жужэ (ТIутIэ) Къасбот и пхъур (1891 гъэ); ипхъу Мэржан (1912 гъэ). 1918 гъэм и щэкIуэгъуэм и къуэшхэр и гъусэу большевикхэм яукIащ. Къэзакъ Аслъэн «Урысыдзэм къулыкъу щызезыхьа адыгэхэр (шэрджэсхэр. Дзэзешэхэмрэ офицерхэмрэ») и тхылъым къитхащ.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "shogenalihan.txt" }
Сабиигъуэм и хэщIапIэ Си сабиигъуэм хуэсщIу гукъанэ, Си анэ куэщIым си щхьэр изолъхьэ, Къигъэзэжыну теткъым гъуэгуанэ, Мис а гупсысэр псэм къытохьэлъэ... Ауэ и IитIыр щхьэм къылъэIэсмэ, Си анэ дыщэм, псэр мэпсэхуж: ПхроIэбыкIри гъэхэм, а Iэсэм, Си сабиигъуэм щыщ къысхуехьыж. А зы Алыхьыр къыхуэупсащи, Си анэ нэхум куэд хузэфIокI, И лъагъуныгъэр къыслъэIэсащи, Гупсысэ хьэлъэр пшэуэ сщхьэщокI. СыкIэлъыпыхьэкъым си сабиигъуэм, Ар зыдэщыIэр къызгурыIуащ: СыкъырикIуэжурэ, хуэму, и лъагъуэм, Анэм и куэщIым сыкъыхуишащ. *** Тхьэмпэ закъуэр жьым зэрехьэ, кърехьэкI, ГущIэгъуншэу щIым тредзэ, къредзэкI. Сынэщхъейуэ сыкIэлъоплъ а тхьэмпэ закъуэм, Гум щIэт нэпсыр зыгуэр щхьэкIэ къригъакIуэу... Си насып бзу… Щlехъумэр уи зы дамэм уафэ щIэлъэныкъуэр! СыпIоплъэр иджыпсту: Дунейм нэгъуэщI сэ сыти сыхуэныкъуэ? Умылъэтэж къудей! Уи лъэтэж макъым гу ешар ныкIэлъопхъэр… «Сэращ узейр» - ЖыхуиIэу ныпкIэлъоплъыр щэхуу нэр… Си насып бзум Уи теплъэр хэти гурыIуэн сигу имыплъауэ? КъысфIощI дэ тIум Хьэуа нэхъыбэ ди зэхуакум дэмыкIауэ. Мэусэр псэр: КъыфIощI насыпыр Iэгъуэблагъуэм щызелъатэ. Сэ псори здэт… Ар зыхуэусэр хэтыу щытми къызгурIуатэм. *** Лъырэ псэкIэ яхъума щIыналъэ, Лъырэ псэкIэ яхъума си Хэку, Гур доузыр, хэхумэ уи щхьэц налъэ, Сыщыжейми уэ ущIэтщ си нэгу... Хэту лъым, ди нобэм къэса гуауэ, УIэгъэжьу гухэм къатена, Мис, лъагуэжьэмыщхьу сытIысауэ, Тхьэм солъэIу: "Къэхъумэ къытхуэнар... Ди Тхьэ Закъуэу псори Зи Iэмырым, Лъэпкъыр Уэ лъэ быдэкIэ гъэувыж, Ди псэр Къыдэзыту ТIызыхыжым, Гуауэ зэи Думыгъэлъэгъуж..." Си лъэпкъ уардэ... куэдым къела лъэпкъ, Налкъут жылэу дуней псом хэпхъа, Дыщэрэ дыжьыным ухагъэсми, Сыт уагъэшхми, щыпIурыIэфIа?? IэфIт хамэпсыр Хэкум къыщIэж псынэу? Iуащхьэмахуэлъапэу хьэуар IэфIт? КIуэцIыкIыщIэм зыкъыпфIыдигъазэу, Тхьэ елъэIуу нанэ пIэкум щист? Зи дыгъуасэ дахэр гуауэ уаем Илъэсищэ енкIэ езэуа, Нобэ хуэму къэвыж уи Iэпкълъэпкъхэр ИщI Тхьэ Закъуэм Iейхэм щыхъума!
{ "source": "adygabza.ru", "id": "shoramarina.txt" }
МЭРЗЕЙ Аслъэн тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Адыгэхэм я гъащIэм зекIуэм мыхьэнэуэ щиIар къэлъытэгъуейщ. ЗекIуэм пыщIа Iуэхугъуэ псори зэхэплъхьэмэ, зы щIэныгъэ псо мэхъу. «Зауэм, зекIуэмрэ я хабзэмрэ, лIыхъужьыгъэм и щапхъэм адыгэхэм хуэдэу зезыгъэужьа абыхэм я гъунэгъу лъэпкъхэм яхэткъым, – апхуэдэу къелъытэ КIашэ А. – Шууей нэсу, нэгъуэщIу жыпIэмэ, лIыхъужьу щытыныр адыгэ щхьэхуитым гъащIэмрэ ажалымрэ хэдэным хуегъадэ. ИкIи абы гурыIуэгъуэ ещI, цIыхубзхэмрэ зи щхьэ хуимыт цIыхухэмрэ хэгъэкIауэ, адыгэхэм зекIуэлI хъуну хуэмея зэрахэмытар». Тхыдэ къызыхэщ адыгэ уэрэдыжьхэм яIэтыр, ягъэпсыр зи хэку зыхъумэж зауэлIхэм я закъуэкъым, атIэ гъунэгъу къуажэхэм теуэхэри лIыхъужьыцIэ зэрахьэу хэтщ. Нало Заур гу зэрылъитащи, «лIыгъэ, хахуагъэ и лъэныкъуэкIэ бийм пэщIэтынри а зэманым щызэхуэдащ…» Шууей IэкIуэлъакIуэу цIэрыIуэ хъуар пщIэ зыхуащI, хабзэ хэIэтыкIа зыкIэлъызэрахьэ лIыхъужьт. Лъэпкъ зэхуэс хъуамэ, абы и псалъэм мыхьэнэшхуэ иратт, батырыбжьэ къыхуагъэфащэт. Сталь К. I990 гъэм Тифлис къалэ къыщыдигъэкIа «Этнографический очерк черкесского народа» тхылъым итщ: «Шым шэсырейуэ щымыта лIым пщIэ лъэпкъ хуащIкъым, щIалэгъуалэм ар ауан щIыпIэу яIэщ, цIыхубзхэм Iумпэм ящI. Адыгэ цIыхубзым лIыгъэмрэ цIэрыIуагъэмрэ яфIэфIщ: щIалагъэр, дахагъэр, мылъкур зыуи къилъытэкъым абы, и псэлъыхъум хахуагъэкIэ и цIэр имыгъэIуамэ». КIашэ А. зэритхамкIэ, куэдрэ къэхъут «цIыхубзым и щытхъу псалъэм лIыр хахуагъэ къыщыгъэлъэгъуапхъэ Iуэхугъуэхэм зэрытригъэгушхуэр, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, шэрджэс цIыхубзым шууей IэкIуэлъакIуэм, зекIуэлI нэсым пищI щыIэтэкъым». Абы щыхьэт тохъуэ адыгэхэм я хъыбарыжь, IуэрыIуэтэж куэд. Псалъэм папщIэ, апхуэдэщ Къэрэшей-Шэрджэсым щыIэ Беслъэней къуажэм щыщ ПIатIэ А. жиIэжар, МафIэдз Сэрэбий и тхылъым къыщихьа хъыбарыр. Абы зэрыжиIэмкIэ, Къанокъуэхэ я пщы щIалэщIэ, акъылыфIэ икIи хьэл зэтет зиIэр, ауэ зауэ-банэм, зекIуэм хыхьэн зыфIэмыфIыр, зэуэзэпсэу дунейм ехыжащ. А хъыбарыр щхьэжэ зыщыхъуа щIалэм и ныбжьэгъухэр, гуащэм къыщыхуэгузавэм, къеупщIащ: дауэ хъуа Iуэхур, зиуIэжа е зыгуэрым къиукIа уи щхьэгъусэр? ЛIыгъэкIэ цIэрэ щхьэрэ зэзымыгъэгъуэта лIым и псэукIэм зэи арэзы темыхъуэ гуащэм жэуап къитыжащ: «Хэт къиукIынт ар? Куэбжэпэм щыфIэкIа къэхъуакъым. УIэгъэ лъэпкъи зэи телъакъым. И фэм фэнд къыхэпщIыкIамэ, мэкъуауэхэм псы щIыIэ ярихуэпхь хъунут». Нэчыхь ирагъэтха, унагъуэ хъуа нэужь, Хъан-Джэрий зытепсэлъыхьа хабзэр къызытехуэ псоми ягъэзащIэт: «Пщым, уэркъым къыхэкIар фыз къишэу махуитI-щы зэрыдэкIыу… гъуэгу жыжьэ теувэт, лIыпIэ зэриувар хахуагъэкIэ, бэшэчыныгъэкIэ къигъэлъагъуэ щIыкIэу». ЗекIуэм и хабзэр жыжьэ дыдэу къыщожьэ. Илъэс минитIым щIигъу зи ныбжь «Нарт хъыбарыжьхэм» адыгэхэр къызытехъукIа нарт цIэрыIуэхэр егъэлеяуэ хахуэу, къикIуэт зымыщIэ лъэпкъыу щыгъэпсащ. Нарт хъыбархэм я сюжет куэдым лъабжьэ хуэхъуар гъунэгъу лъэпкъхэм зэрезауэр, зэрытеуэр, абы былымрэ шырэ кърахуу, мылъку къытрахыу зэрыщытарщ. Щхьэусыгъуэ пыухыкIа гуэри имыIэу, нартхэр гъуэгу куэдрэ тоувэ – я лIыгъэмрэ я зэфIэкIымрэ къыщагъэлъэгъуэн щIыпIэ лъыхъуэхэу. Адыгэ хъыбарыжьхэм зэрыхэтымкIэ, шым тес защIэу я гъащIэр ягъакIуэри, лIыхъужь цIэрыIуэхэр уанэгум инауэ къонэ. Адыгэ уэрэдыжьхэм зэрыхэтымкIэ, апхуэдэхэм «зекIуэлI» хужаIэ, абы нэмыщIкIэ «уанэгулIкIэ», «шыплIэрыхькIэ» йоджэ. «ЗекIуэ» псалъэм зауэм пыщIа ежьэныгъэ къокI, армырамэ ар зытеухуар дыгъуэн-хъунщIэнырщ. «Зыгуэрым теуэныр, хъунщIэныр адыгэм къызэрилъытэр хахуагъэущ, щIалэгъуэм, къарум и щыхьэтущ, – етх Хъан-Джэрий, – ауэ уи благъэ е уи гъунэгъу уедыгъуэжыныр а лъэпкъым дежкIэ емыкIушхуэ зыпылъщ. Апхуэдэ къызыIэщIэщIар нэхъапэм хэкум ирахуу е и IитIыр пхауэ псым хадзэрэ ирагъэтхьэлэу щытащ…» ЗэгурыIуэныгъэкIэ зэмыпха, къыгуэмыт гъунэгъу лъэпкъым и щIым теуэныр хабзэншагъэу къэлъытэн дэнэ къэна, яфIэзахуэт. Хэкум нэхъ пэIэщIэху ежьахэм я пщIэр нэхъ инт. Аращ щIыпIэ жыжьэхэм я лъэ щIынахусу щытари. Абы щыхьэт тохъуэ хъыбарыжьхэри, тхыдэри. Зауэ IуэхукIэ ежьамэ, адыгэм къалэн зыхуигъэувыжтэкъым щIы къизэууэ ар иубыдыну. ЗекIуэ ежьам сыт щыгъуи и хэку къигъэзэж и хабзэт. Къызэрытынур тхьэмахуитI-щыми е илъэс зытIуми – зэлъытар здэкIуэм и жыжьагъырат. Къэшэж ТI. итхыгъа хъыбарыжьым къызэриIуатэмкIэ, ику ит лIэщIыгъуэхэм я щIэдзапIэм къриубыдэ зэманым уэркъхэм, лIакъуэлIэшхэм «чэзууэрэ ежьэн хуейуэ къатехуэт. Илъэс плIырыплIкIэ къэта нэужь, хэхъуэншэу къагъэзэж хъунутэкъым – ар напэтехт». ЗекIуэм хэт цIыху бжыгъэр зэхуэдэтэкъым – щэ бжыгъи мин бжыгъи хъункIэ хъунут. Шу закъуи щыIэт. Адыгэ IуэрыIуатэм ихъумащ шу закъуэу къэзыкIухь лIыхъужьхэм я цIэхэр: Андемыркъан, Борэ, Хьэтх и къуэ Мыхьэмэт, Дохъушыкъуэ Бгъунщокъуэ. Уэркъхэм къащхьэщыкIыу, пщыхэм я закъуэу къакIухьыну къезэгътэкъым. Гъусэ нэхъыбэ яIэхукIэ я пщIэр нэхъ инт. МэкъумэшыщIэ къызэрыгуэкIхэри, уеблэмэ щхьэхуимытхэри зекIуэм щыхэт къэхъут. АбыкIэ цIэрэ щхьэрэ щызрагъэгъуэт щыIэт. Сыт хуэдэ ежьэныгъэми адыгэр зэреджэр зекIуэт, ауэ щыхъукIэ, а ежьэныгъэхэм щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр яIэт. Псалъэм папщIэ, зекIуэр зауэм и хьэтыркIэ куэдрэ къызэрагъэпэщт. Апхуэдэу I5-нэ лIэщIыгъуэм Инал цIэрыIуэр – къэбэрдей пщыхэр къызытепщIыкIыжар, Абхъазым зекIуэ кIуауэ щытащ. И щыкъуадэм дэIэпыкъукIэрэ, мегрелхэм япщ Дадиани Мамие и дзэхэр зэтриукIащ. ЗэрыпхъуакIуэхэм, бийм зэрапэщIэувэ, зауэ зэрырагъэкIуэкI Iэмалу къэплъытэ хъунущ зекIуэр. Къалэн гуэр зыхуагъэувыжа е тхьэрыIуэ ятами – абы къыхэкIынкIэ хъунут ежьэныр. Дэ тфIэгъэщIэгъуэн зекIуэр куэд щIауэ къежьа хабзэжь «зауэ демократием» и лъэхъэнэм лъабжьэ зэзыгъэгъуэту феодалхэм я зэманым зызыхъуэжауэ къекIуэкIырщ. А хабзэр зыхуэдэр нэгъэсауэ итхыжащ Хъан-Джэрий: «ЗекIуэ ежьэгъуэу адыгэм зэман хэха яIэщ... гъатхэмрэ бжьыхьэмрэ. Абдежым уэркъ щIалэ гупхэр зэхуашэсри, пщыхэм щIыпIэ зэгъуэкI къыхах, пщыIэ ящIри щIотIысхьэ. ИтIанэ щхьэж хузэфIэкIымрэ къытехуэмрэ илэжьыну иужь йохьэ. ЩIалэгъуалэм щыщ къуажэхэм кIуэурэ яукIыу яшхыну мэл, Iэщ къаху... Къэбдыгъуну яфIэемыкIу шхыныгъуэхэр, ху, кхъуей, шэ хуэдэхэр, гъунэжу жылэхэм кърах. Шууей нэхъыфIхэр абы къриубыдэу щIыпIэ жыжьэхэм макIуэ, шыбз гуартэхэр къаху, цIыху гъэру яубыд, къаIэрыхьар я Iыхьэу жэщи махуи ефэ-ешхэу, къежьэу зэхэс я ныбжьэгъухэм деж къокIуэж. Апхуэдэу бжьыхьэр ягъакIуэ, щIымахуэр къэсыху, гъатхэр ирах, гъэмахуэр хуабэ дыдэ хъуху...» Апхуэдэ зэхуэсхэр, ежьэныгъэхэр, Белл Дж. къызэригъэлъагъуэмкIэ, бзыщIауэ, щэхуу екIуэкIырт икIи тепщэу щытхэрат ар къызэзыгъэпэщыну, абы хэтыну хуитыр. Потоцкий Я. и «Путешествие в Астраханские и Кавказские степи» тхылъым мыпхуэдэу итщ: «...а псор екIуэкIыху пщыхэм къахуэпэж уэркъхэр ящIыгъущ. Ауэ пщыIэм къекIуэлIэну хуиткъым я унагъуэм щыщ гуэри, ар я къуэш дыдэуи ирехъу. Псоми къыпхуэмыцIыхун хуэдэу захуапэ, адыгэбзэкIи псэлъэххэкъым – зэрызэгурыIуэр езыхэм фIэкI нэгъуэщIхэм къагурымыIуэ щакIуэбзэщ. ТхьэмахуихкIэ йокIуэкI а зэрызехьэр. Абы къриубыдэу нэкIуIупхъуэхэр яIулъу гуп цIыкIухэр жылагъуэхэм щодыгъуэ. Iуэхур зыIутыр ящIэри, псори мэсакъ, ауэ уIэгъэ е укIыгъэ хъуа къахэмыкIыу зэфIэкIкъым… Зыгуэрхэм зэратеуэ, заредыгъуэм нэмыщI, пщыхэмрэ уэркъхэмрэ щакIуэт, ефэ-ешхэу зэхэст, зауэм зыхуагъасэт. ЗекIуэм и зэманыр икIти, къаIэрыхьар зекIуэлIхэм зэхуагуэшыжырти щхьэж и унэ екIуэлIэжырт. ЗекIуэ щыIахэм жылэм дэсхэр къехъуэхъурт. Модрейхэм, хабзэм тету, псоми тыгъэ гуэр лъигъэсырт, Iэщыр, нэгъуэщI мылъкур лIыжь-фызыжьхэм хуагуэшырт, я ныбжьэгъу-жэрэгъухэри Iыхьэншэ ящIыртэкъым». ИщхьэкIэ къэгъэлъэгъуа Iуэхугъуэм шу пщыIэкIэ йоджэ. Ар къыгуэхыпIэ имыIэу зекIуэм пыщIащ. ЦIыхухъухэм я зэгурыIуэкIэ къызэгъэпэща, абыхэм я зэпыщIэныгъэр къэзыгъэлъагъуэ зэхуэс-зэхыхьэм хуэдэ нэгъуэщI лъэпкъхэми яIащ нэхъапэм. Мы зи гугъу тщIым абыхэм я нэщэнэ нэхъыщхьэхэр пкъырылъщ. Япэрауэ, ар зэман пыухыкIам ирихьэлIэу, итIанэ щIэчэ имыIэу къызэрызэрагъэпэщырщ. ЗекIуэм и хабзэ пыухыкIарщ абы и зэманри зэлъытар: гъатхэм (мэлыжьыхь - мэкъуэуэгъуэ) – удзыр къэкIыхукIэ, бжьыхьэм (фокIадэ-щэкIуэгъуэ) – щIыр зэщIэщтхьэхукIэ. ЩэкIуэгъуэ нэужьым зэхэзекIуэ Iуэхур зэпагъэут – губгъуэ нэщIхэм, гъуэгу цIыхуншэхэм жьапщэмрэ щIыIэмрэ тепщэ щыхъут. Адрей лъэпкъхэм я зэхуэсхэри я псэукIэм, я лэжьыгъэм епхауэ щытт. Апхуэдэу, щIым телэжьыхь таджикхэм ялIхэм зэхуэсу щыщIадзэр гъавэр Iуахыжа нэужьт. ИтIанэ щIымахуэ псом, гъатхэр къэсу вэн-сэным щIадзэху зэхэкIтэкъым. ЗэрыжытIащи, шу пщыIэм хэтыну къызылъысыр пщымрэ абы и блыгущIэт уэркъхэмрэт. Адыгэхэм я псэукIэм щыгъуазэ урыс офицер Торнау Ф. щыхьэт зэрытехъуамкIэ, зекIуэлIхэм я къэувыIэпIэм гъунэгъуу убгъэдыхьэну ухуиттэкъым, абыхэм уащIэупщIэуи къыпхуадэнутэкъым. НэгъуэщI лъэпкъхэми, къапщтэмэ, индоевропейхэм, я зауэлIхэм къызэрагъэпэщ гупхэм хабзэу яхэлъащ, зыри зыщымыгъуазэ дамыгъэхэр зэрахьэу, Iуэху щэхухэр зэдалэжьу щытащ. ЗекIуэлIхэм бзэ щэху зэраIэу щытам и гугъу тщIащ – лIы гупхэм я зы нэщэнэщ ари. Тхыгъэхэм, хъыбархэм апхуэдэ бзищ къыхощ: «щакIуэбзэ», «фаршыбзэ», «зиковшир». Языныкъуэ щIэныгъэлIхэм, псалъэм папщIэ, Думэн Хь. къызэрилъытэмкIэ, щакIуэбзэр къагъэсэбэпу щытащ щакIуэхэми, зекIуэлIхэми. Бгъэжьнокъуэ Б. зэрыхуигъэфащэмкIэ, «зекIуэлIхэр пасэрей щакIуэбзэм ирипсалъэт, абы халъхьэжIауэрэ езыхэм къазэрыхуэсэбэпын ящIауэ. ИтIанэ, зекIуэлIхэм ялэжь псоми къыдэкIуэу, щакIуэхэт. ГъэщIэгъуэнращ, мэкъумэшыщIэхэр зекIуэм «щакIуэкIэ» фIэкI еджэу хуадэтэкъым, зекIуэм зэуэн, дыгъуэн Iуэхур зэрыпыщIар наIуэти». Къэгъэлъэгъуапхъэщ, щакIуэбзэр къагурыIуэми, ирипсэлъэну мэкъумэшыщIэхэр хуит зэрамыщIыр. Гъатхэмрэ бжьыхьэмрэ шу пщыIэ къыщызэрагъэпэщ зэманыр адыгэ щIалэгъуалэр гъэсэным теухуауэ уасэ зимыIэт. Зауэм, Iэщэ къэгъэсэбэпыным и закъуэкъым ахэр зыхуагъэхьэзырыр, зыхурагъасэр, атIэ нэхъыжьхэм я зэфIэкIыр къэзыщтэ щIалэщIэхэр гугъуехьым есэт, бэшэч, хахуагъэ яхэлъ хъут, щIыпIэр фIыуэ къацIыхут, н.къ. Ефэ-ешхэ зэхаубламэ, щIэблэр уэрэдыжьхэм, хъыбарыжьхэм щIэдэIут, лъэпкъ хабзэхэм щыгъуазэ зыхуащIт, жьакIуэ хъуным зыхуагъасэт. Шу пщыIэ къыщIызэрагъэпэщым и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэу жыпIэ хъунут щIым телэжьыхь пщылIхэр хъумэн зэрыхуейр. ЗекIуэм и зэманым къриубыдэу пщымрэ я гъусэхэмрэ нэгъуэщI жылэхэм зэратеуэм и мызакъуэу, езым и цIыху, и Iэщ, шыхэр иримыгъэдыгъун папщIэ, захъумэжт. Шу пщыIэм зекIуэлIхэр текIт, къадыгъуар, къазэуар кърахьэлIэт. Арат абы гъунэгъу зыхуэпщIынуи, щекIуэкIым и хъыбар ущIэупщIэнуи щIамыдэр. ЗекIуэм ехьэлIа нэгъуэщI Iуэхугъуэхэри щыIэщ: адыгэм ЗекIуэтхьэ яIэу щытащ. КъызэралъытэмкIи, ар дыдэрат зекIуэлIым къыдэIэпыкъуфынур, къыхуэсакъынур. ЗекIуэ щежьэр махуэ хэхат: мэремыр, тхьэмахуэр махуэфIу ябжт. Гъубжымрэ бэрэжьеймрэ насып къыдэмыкIуэну къалъытэт. Шухэр дэкIа нэужь, ахэр псым зэпрымыкIауэ унэм пхъэнкIий ипх мыхъуну жаIэт. Ядэтэкъым къэтхэм я цIэ жыпIэу. УакIэлъыплъыну фIытэкъым. ЗекIуэ ежьам и анэм е и щхьэгъусэм кIэлъыгъэхуабэ ищIыну къытехуэт. Мэл е джэд яукIти ежьам и Iыхьлы дыдэхэр къраджэт. ИрамыгъэфыгъуэнIа щхьэкIэ, хамэхэм щабзыщIт унагъуэм ящыщ къыщIэтыр. ЗекIуэ ежьэхэм щхьэкIэ нэхъыжьхэм хъуэхъу жаIэт, нэхъыбэу ар Тхьэм хуэгъэзат. Ислъам диныр къащтэху – Тхьэшхуэм, иужькIэ – Алыхьым. Я Алыхь! Ди щIалэ жанхэр Насыпым хуэшэсхэу, ГуфIэгъуэм хуепсыххэу, Шуупэ хуэпхъэхэу, ЗыхущIэкъу псори къайхъулIэу, ЛIэныгъэм къыпимыгуэхэу... ЗыхуаунэтIым я Iыхьэ къыпахыу, ЯлI къыщанэу къыщIэмыпхъуэжу, Пхъэрыр къыщысым трагъэувыIэу УIэгъэ къыщащIым яхуэмыубыду, Удын ядзыр гущхьэм лъысу, КъакIэлъыс псори ирагъэпсыхыу, ХуарапцIэ нэсхэр я Iэдэжу, ФIыгъуэкIэ къытхуэхьыжхэ! Ежьэхэм «уанэ махуэ тувылъхьэ» жраIэти, шым теухуа хъуэхъуи кIэлъыжаIэжт: Шыуэ фызытесыр жэрым хуэнахуэу, НэбдзыпэщIэплъхэу, Хьэджафэ псыгъуэхэу, Я нэр зытеплъэр яIэщIэмыкIыу, Псы икIыгъуэм хуэбжэнбланэпкъыу, Къумым ихьэмэ, къызэфIэмылIэу, ЛIыуэ ятесхэр къытхуагъэгушхуэу, Шхуэуэ япщIыхэлъхэр ямыгъэхуадэу, Я лъэр быдэрэ мылъэпэрапэу, Я Алыхь, гъуэгуанэ дахэ кърахьэлIауэ КъегъэкIуэлIэжхэ! ЗекIуэ къикIыжахэм къуентхъ къащIам и Iыхьэ нэхъыфIыр ЗекIуэтхьэм иратырт – жыг хэхахэм хуфIадзэт. ЗекIуэлI Тебу де Марьини зэритхыжамкIэ, хы ФIыцIэм и Iуфэ щыпсэу адыгэхэм а хабзэр 19-нэ лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэ пщIондэ яIащ. Зауэ щхьэусыгъуэкIэ зекIуэ ежьэн унафэр лъэпкъ псом къыщыбгъэдэкIи, гуп щхьэхуэм е зы цIыхум къыщыхилъхьи щыIэт. ЗекIуэр лъэпкъым къызэригъэпэщмэ, дзэм шу пашэ хухахт, ежьэн гукъыдэжыр цIыху щхьэхуэм ищIамэ, ар езыр зекIуэми дзэми я унафэщIт. НэхъапэкIэ зауэлI хахуэу, шууей Iэзэу зыкъэзыгъэлъэгъуарат дзэпщ ящIыр. Ар псоми щапхъэ яхуэхъун хуэдэу, пкъыфIэу, узыншэу, къарууфIэу, щIыIэри, хуабэри, мэжэщIалIагъэри, гугъуехьри и фэм дигъэхуэфу щытын хуейт. Абы къыщынэмыщIауэ, дзэпщым иришэжьа гупым гъуазэ яхуэхъуфыныр, гъуэгур, щIыпIэр фIыуэ ицIыхуу, вагъуэхэр, нэгъуэщI нэщэнэхэр къигъэсэбэпкIэрэ, щIыпIэ мыцIыхухэми тыншу къикIыжыфыныр и къалэнт. «Нэхъапэм, Псыжьрэ Тэнрэ я зэхуаку дэлъ щIым и нэхъыбэм зыри щытемысам, шууей хахуэм Тэн и Iуфэ къэтIыс нэгъуейхэм, нэгъуэщI лъэпкъ Iэпхъуэшапхъуэхэм я шы гуартэхэр къахут, – етх Хъан-Джэрий. – ЩIыпIэ хамэхэр фIыуэ зэрацIыхум, абыхэм тыншу зэрихьэ-къызэрикIыжыфым щхьэкIэ якIэрымылъ кIэралъхьэу, гъуазэхэр жинхэм япыщIауэ къыщалъытэ щыIэт. Ауэ щыхъукIэ, гъуазэхэм щIыпIэгъэлъагъуэу къагъэсэбэпыр дыгъэр, мазэр, вагъуэхэрат. Гупым здаунэтIын хуей лъэныкъуэр шу пашэм кърищIэт жьыр нэхъыбэрэ къыздепщэмкIэ, нэгъуэщI нэщэнэхэмкIэ». Мазэгъуэ жэщхэм уафэм кърипхъа вагъуэхэм къыхалъагъукIт Шыхулъагъуэ, Вагъуэзэшибл вагъуэбэхэр, Нэхущвагъуэр – гъуэгур ахэмкIэ къагъуэтыжт, Дейжыг вагъуэмкIэ (созвездие Лиры) сыхьэт бжыгъэр къращIэт. Кавказым илъэс зыбжанэкIэ къулыкъу щызыщIа декабрист Якубовичым зэритхыжамкIэ, «гъуазэм и зэфIэкIымрэ жанагъымрэ пхуэмыIуэтэным хуэдизщ. Жэщым я нэхъ кIыфIу уафэм пшэ щытелъми, абы и шу гупыр щыгъуащэр зэзэмызэххэщ. ХъумпIэцIэдж Iуащхьэхэри, жыгхэри, жьыри гъуэгугъэлъагъуэу къегъэсэбэп абы. Iуащхьэ цIыкIу гуэр деж къыщоувыIэ, и гуфIакIэм дилъхьэурэ игъэхуэба и Iэр абы и лъэныкъуиплIым кIэрилъхьэурэ, ищхъэрэ лъэныкъуэр дэнэкIэми щыуагъэншэу къыхуощIэ». Апхуэдэ гъуазэ Iэзэу щытащ адыгэ уэрэдыжь зыбжанэ зыхуауса Ажджэрий Кушыкупщыр, тхыдэм лIыхъужьу къыхэнар, Урыс-Кавказ зауэм и зэманым ехьэлIауэ щыIэ урыс тхыгъэхэм зи цIэ мызэ-мытIэу къыхэщыр. Адыгэ уэрэдыжьхэм фIыуэ хэзыщIыкI КъардэнгъущI Зырамыку а лIыхъужьым теухуауэ мыпхуэдэу етх: «Нэхъыжьхэм зэрыжаIамкIэ, Ажджэрий и къуэ Кушыку зекIуэ ежьэрей шууей цIэрыIуэу щытащ. Абы нэхъ Iэзэу вагъуэхэр, нэгъуэщI нэщэнэхэр къигъэсэбэпкIэрэ, щIыпIэ мыцIыхухэм кIуэуэ къэкIуэжыф, гъуэгур тыншу къэзыгъуэтыф щыIакъым. ЗекIуэ ежьауэ жэщым губгъуэм здитым ар къэувыIэт, дыд къызыкъуихти, и гъусэхэм ар яригъэлъагъуурэ, «дыкъыщыкIуэжкIэ мыр къэтщтэжынщ», – жиIэти, шым къемыпсыхыу ар щIым хитIэт. КъыщагъэзэжкIи а щIыпIэ дыдэр щыуагъэншэу къигъуэтыжти, «мис мыпхуэдэу къыфхуэгъуэтыжын хуейщ гъуэгур», – жиIэурэ, дыдыр щIым къыхичыжт. Мис апхуэдэу лIы губзыгъэ, шууей Iэзэ, щIыпIэр фIыуэ зыцIыхут шу пашэ, дзэпщ ящIыр. ЗекIуэ ежьэнумэ, абы шу джакIуэхэр зэбгригъэкIт, гъуэгу къыдытеувэну хуейхэм щызэхуэсыну зэманымрэ щIыпIэмкIэ хъыбар яригъащIэу. Ауэ псори зэхуэсу зрачыным нэсыху щIежьэм и щхьэусыгъуэр пыухыкIауэ, шу пашэм къищынэмыщIа, зыми ищIэтэкъыми аращ. «Шу джакIуэ зыкIэлъагъакIуэ» жыхуиIэ псэлъафэр аращ адыгэ IуэрыIуатэм къыщIыхихари. ЗауэлI хахуэу, шууей Iэзэу ятеIуат шу джакIуэ зыхуагъэкIуэнур. Хъан-Джэрий зэритхыжамкIэ, зи лIыгъэкIэ, хахуагъэкIэ яцIыхум дежкIэ зекIуэ къыдежьэн гуп зэхуэпшэсыным гугъуехь лъэпкъ пыщIатэкъым. Сыту жыпIэмэ, апхуэдэлIым джакIуэ зэбгригъэкIамэ, жылэм зауэлI нэсу дэсыр къызэхуэсынут. Хъан-Джэрий етх мыпхуэдэу: «ЗекIуэ псалъэр зэхебгъэхамэ, нэхъыбэ яжепIэну хуейкъым, здэкIуэнуми, щIэкIуэнуми щIэупщIэкъым, асыхьэту зрачын хьэзырщ. Мыбдежым IуэхугъуитIщ мыхьэнэр зэлъытар: уэркъхэм, лIакъуэлIэшхэм цIэрэ щхьэрэ яIэу загъэIуну зэрыхуеймрэ, зекIуэм хъер, мылъку къыхэзыхыну щыгугъхэри куэду зэрыщыIэмрэщ». Урысыдзэм и офицеру Кавказым къулыкъу щызыщIа Бларамберг И. щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, «мэкъумэшыщIэхэм ящыщ зекIуэ къыщыздащтэ куэдрэ къэхъутэкъым. Къыздащтэми, щIыздрашажьэр зауэлIхэм я бжыгъэр нэхъыбэ ящIын щхьэкIэщ. ИкIи уэркъ-лIакъуэлIэшхэм хуэдэу мэкъумэшыщIэм зауэлI нэс къыхэкIкъым, абы IэщэфIи иIэкъым». ЗекIуэм хэтынухэм я бжыгъэр цIыху минищым щынэси щыIэт, ауэ нэхъыфIыр гуп мыин дыдэ зэхуэпшэсмэти, цIыхуипщIым щегъэжьауэ щэм нэс щызэгухьэр нэхъыбэт. Уэркъым езым и зауэлI гуп къыхишэт Iуэхум. ИкIи абы и лъэпкъ дамыгъэр (сэнджакъ) тету нып зэрихьэт, жыжьэу укъаплъэмэ, зауэм хэтыр кърипщIэу. Ехъутэныдж Хьэсэн зэритхымкIэ, апхуэдэ ныпыр зыIыгъыну зи къалэным сэнджакъ щIэтт зэреджэр. Абы нэмыщIкIэ, адыгэхэм зэрахьэт зауэлI гупыр зыщыщ лIакъуэр зыгъэнаIуэ бэракъхэри. Уэркъхэм я бэракъзехьэр езыхэм ящыщт. ИкIи абы и къалэныр и щIэблэм къыхуэнэт. Бгъэжьнокъуэ Барэсбий и къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм бжьэдыгъухэм яIа бэракъзехьэхэм я унэцIэ къыщыхьащ. Бжьэдыгъухэр къуэпситI хъурт: чэрчэнейрэ хьэмыщейрэ, япэрейхэм я бэракъзехьэр хьэкъуий уэркъхэм ящыщт, адрейхэм ейр лъэпцIэрыщэ уэркъ лъэпкъхэм. ЗекIуэ ежьахэм джэгуакIуэ къыщыздащтэ куэдрэ къэхъут. Нэгумэ Шорэ зэритхыжымкIэ, зауэм и пэ къихуэу джэгуакIуэм псалъэ иратырт, зауэлIхэр нэхъ игъэгушхуэн папщIэ. Дзэм и пащхьэ къиувэрти, езым иуса уэрэдкIэ е усэкIэ тепсэлъыхьт нэхъыжьхэм яхэлъа хахуагъэм, зауэлIхэм ар щапхъэу къахуигъэлъагъуэу. Цеищхъуэт джэгуакIуэм зэрихьэр, зэреджэри цеищхъуэшут. Къамэ къищынэмыщIа, Iэщэ бгъэдэлътэкъым, сыту жыпIэмэ, абы пщIэшхуэ къыхуащIти, зыри къеIусэну хуиттэкъым. ДжэгуакIуэм уи Iэ къыхуэпIэтыныр емыкIушхуэу къалъытэрт. Урыс-Кавказ зауэм и зэманым, муслъымэн диным адыгэхэм я деж нэхъри зыщиубгъуа нэужь, молэхэр зекIуэм, зауэм хыхьэ хъуащ. Уэркъым, лIакъуэлIэшым къахэкIар зауэ хуэIухуэщIэ къищынэмыщIа, диным хуэлэжьэну кърагъэзэгътэкъыми, абыхэм молэ хъун къахэкIтэкъым. ЗэуапIэм IуткIэрэ, диным и лэжьакIуэм лъэпкъым и пщIэ къилэжьт икIи къызыхэкIамкIэ зэрымыцIэрыIуэр абыкIэ игъэзэкIуэж хуэдэу хъут. Хы ФIыцIэм и Iуфэ щыпсэуа адыгэхэм илъэсищкIэ яхэса англичанин Белл Джеймс диным и лэжьакIуэхэм ятеухуауэ зыгуэрхэр итхыжыгъащ. Молэ гуэр кърагъэцIыхуат абы, псоми зэрыжаIэмкIэ, зы зауи блимыгъэкIыу хэт гуэрт. «Гугъу зевгъэхьи иужькIэ фытыншыжынщ жызыIэу зи щхьэр а гугъуехьым хэзых тырку молэхэм хуэдэтэкъым мыр. Адыгэ молэхэм, – етх адэкIэ Белл, – Iэщэ къащтэну адрейхэр къыхураджэу тIысыжкъым, атIэ езыхэм абыкIэ щапхъэ ягъэлъагъуэ». ЗекIуэ ежьэнухэр щызэгурыIуа зэманым деж зэраухылIа щIыпIэм щызэхуэст. Абдежым гуп-гупу загуэшти, ежьэным зэрыхуэхьэзырыр ягъэунэхут. Гупым я пашэр цIыху къэс и Iэщэ-фащэм, шы-уанэм еплът. И гъуэмылэ е нэгъуэщI ирехъу, зыгуэр зыхущыщIэр къыхихужынут. ИкIи апхуэдэу къызыхахужам езым и закъуэтэкъым зи напэ текIауэ къалъытэр, атIэ щIалэр зэкIэлъымыкIуэу къезыгъэжьа лъэпкъри емыкIушхуэ ящIт. Гъуэгу щытеувэкIэ адыгэхэм зэи гъуэмылэ куэд здрахьэжьэртэкъым, сыту жыпIэмэ, унэм щисым деж я нэхъ мащIэ дыдэми зрагъэкъуу есахэти. «Зыгуэрым теуэн мурадкIэ адыгэр щежьэкIэ, фэм къыхэщIыкIа хъуржын цIыкIум илъу абы къыздещтэ ху хьэжыгъэ тIэкIурэ мэлыл гъэгъуа IыхьитI-щырэ, – жери етх Бларамберг И. – А гъуэмылэр абы хурикъунущ тхьэмахуитI-щыкIэ. Псалъэм папщIэ, урыс сэлэтым апхуэдиз ети, махуищ нэхъыбэ хурикъунукъым». ЗекIуэ ежьахэм я гъуэмылэр нэхъыбэм зэрыхъур лы гъэгъуарэ къэгъулрэт (фокIэ япща ху хьэлу). Къэгъулым къэуат щIэлът икIи куэдрэ зэкIуэкIтэкъым. «ГъуэмылэкIэ зэджэр, – етх Хъан-Джэрий, – илъэсипщIкIи нэхъыбэкIи зэмыкIуэкI шхыныгъуэщ. ИкIи ар зи шхыныр гъуэгу тет зэпыту, нэхъ тэмэму жыпIэмэ шым къемыпсыхыу зи гъащIэм и нэхъыбэр езыхьэкIхэрщ. ПсыкIэ зэIихыурэ ар тIэкIу-тIэкIуурэ щишхкIэ, уэркъым е лIакъуэлIэшым къыхэкIам зегъэщIагъуэ апхуэдэ гъуэмылэжь дыдэ зэриIэм щхьэкIэ». Сыт хуэдэ гугъуехьми, уеблэмэ ажал дыдэми зэрыхуэхьэзырым и щыхьэту зекIуэ ежьахэм хьэдэ джанэкIэ зэджэ джанэ хужь къыздащтэт. Iэщэ-фащэм, шы-уанэм, н. къ. еплъа нэужь, шу пашэм гупым хигъэхьэнухэм тхьэ яригъаIуэт, езым пэжу къыбгъэдэтынхэу, и жыIэ тетынхэу. ТхьэрыIуэ къыщащтэкIэ зауэлI хъуар гъуэрыгъуэурэ я бгъэм пэзанщIэу баш зырыз зыIыгъ зауэлIитIым я зэхуаку дэкIт. А тIум я зэхуаку дэкIам тхьэрыIуэ къищтауэ арат зэралъытэр икIи асыхьэтым шу пашэм къищIэрт гъуэгу къыдытеувэну шухэм я бжыгъэр (мы Iуэхугъуэм зэреджэр зэпэбашщ). ТхьэрыIуэ къызэращтэу шуудзэм тIууэ зигуэшт. Зыр, шупэхутэкIэ зэджэ уэркъыдзэр, дзэм и Iыхьэ нэхъыфIырати, ипэ иту кIуэнут. Адрейм, зи Iэщэ-фащэ нэхъ мыхьэнэншэхэр зыхэтым шуукIэ къалэкIэ еджэрт, дзэм и ужь итуи кIуэрт. Шуудзэр къыщызэрагъэпэщкIэ зи Iэщэ-фащэр мыхьэнэншэм е зауэлI щIагъуэ мыхъунум и шыфIыр къыIихыу зиш мыщIагъуэ зауэлIыфIым иритыну шу пашэр хуитт. ПщIэрэ щхьэрэ иIэщ жыхуаIэхэм хуэдэу, хабзэ зэрыхъуати, нэхъ ныбжь зиIэхэм ящыщу гупым шухьэтий хахырт. Гъуэгу теува нэужь, зыр адрейм къыкIэрымыхуу зэрыкIуэнум пылъу, шу пашэм унафэ гуэр ищIамэ, ар ялъигъэIэсрэ зэрагъэзащIэм кIэлъыплъу – арат шухьэтийм и къалэныр. Гъуэгу тетыхукIэ шупэхутэмрэ шуукIэ къалэмрэ зэбгъурыту, ауэ зыр адрейм хэмыхьэу, хэмызэрыхьу кIуэт. Шуудзэм ипэ иту тIасхъэщIэх ягъакIуэт, шугъуазэхэри яутIыпщт. Нэхъыбэм деж бийм зыкърамыгъэщIэн щхьэкIэ жэщырат шуудзэм и гъуэгу щыхигъэщIыр. Ауэ шынагъуэ щымыIэмэ, махуэм гъуэгум тету, жэщым загъэпсэхуу ящIт. Жэщым зыгуэр якIэрымыхун щхьэкIэ шуудзэр зэрыIыгът, шу пашэр лъэбакъуэ щитI-щищкIэ псом япэ иту, и фочыр узэдауэ иIыгърэ шым и тхьэкIумэм быдэу еплъу кIуэрт, «Жэщым шыр нэхъ сакъщ», – жаIэти, абы и тхьэкIумитIыр «зэблигъэплъу», къыхэпырхъыкIыу щIидзамэ – уэри усакъын хуейуэ арат. А зы гъуэгум куэдрэ теувэмэ, зекIуэ хэщIапIэкIэ зэджэ къыщыувыIэ щIыпIэхэр хэхауэ яIэ хабзэт. Дзэм зыщигъэпсэхукIэ плъырхэр ягъэувт, зызыплъыхьу жыг щхьэкIэм фIэсхэм жыгыщхьэрыскIэ еджэт. Я хэщIапIэр здэщыIэм зэрыщымыгъуазэIам, зыми къызэримыгъуэтынум зекIуэлIхэм шэч къытрамыхьэмэ, шыхэм уанэр трахт, лъахъэ иралъхьэрти ягъэхъуакIуэт, мафIэ ящIти шхын пщтыр гуэр ягъэхьэзырт. Ауэ мафIэ зэщIагъэст мыхъунумэ, къыздащта гъуэмылэм щыщт яшхыр. Уанэгу щхьэнтэр я щхьэм щIадзт, уанэщIагъщIэлъым тегъуалъхьэхэт, щIакIуэр зытрапIэрти загъэпсэхут. Уэшхым щызыхъумэри а щIакIуэрат, – щIым баш хаIути, ар фIадзэт. Гъэмахуэ жэщмэ, плъырхэр щамыхъуэжыр нэхъыбэт, ауэ щIымахуэмэ, зы жэщым тIэу е щэ зэрахъуэкIт. Ахэр зыгъэуври якIэлъыплъри шу пашэрат. Псы ежэх хуэзамэ, дзэр зэпрыкIын хуейти апхуэдэу фIэкI мыхъунумэ, щэхуу жэщым зэпрысыкIт. Бларамберг И. абы теухуауи етх: «Ахэр (адыгэхэр – М. А.) зекIуэ щежьэкIэ псым я нэхъ уэрым, куум къигъэувыIэнукъым, сыту жыпIэмэ, яшхэр псым зэпрысыкIыфу ягъэсащи». Псым щызэпрыкIкIэ хуабжьу къагъэсэбэпырт фэндыр. Абы и зы кIапэмкIэ я Iэщэ-фащэр, гъуэмылэр, шэпхъыр ирагъэзагъэт, быдэу щхьэщапхыкIыжти, адрей кIапэмкIэ ягъэпщт. ИужькIэ ар шы ныбэгум кIэщIапхэт. «А псор зэфIэкIа нэужь, – етх зауэм и урыс тхыдэтх Дубровин Н. – я фочхэр узэдарэ Iэ ижьымкIэ яIыгъыу, я пыIэм екIуэкIыу шэр дэлъу ящхьэрыгъыу яшхэм мэшэсри, зэкIэлъхьэужьу, шу пашэр псоми япэ иту псым зэпрыкIын щIадзэ». ЩIежьа щхьэусыгъуэмрэ зауэлIхэм я бжыгъэмрэ елъытат гупым ищIэну-илэжьынур. НаIуэу бийм ебгъэрыкIуэу езэуэну я къарум къимыкIынумэ, щэхуу теуэрт. ЗыIэрагъэхьэну хуей щIыпIэм е быдапIэм пшапэ зэхэуэгъуэу гъунэгъуу бгъэдыхьэти уащхъуэдэмыщхъуэу ебгъэрыкIуэт, жэщ кIыфIым хэту къызэрыIухыжын щхьэкIэ. Бийр къагъапцIэу ягъэщхьэрыуэнумэ, куэдрэ ящIэрат: зы щIыпIэ гуэрым деж щатеуэ хуэдэу защIти, къаубыдыну я мурад быдапIэм е жылэм я къару нэхъыщхьэр ядзт. Теуэныгъэхэм деж шупэхутэм хэт зауэлIхэр бийм йобгъэрыкIуэ, йозауэ, апщIондэхукIэ адрейхэм гъэрхэр къаубыд, шы гуартэхэр, Iэщыр яху. Зауэр щекIуэкIкIэ, – етх Бларамберг И., – уэркъхэм хахуагъэм и щапхъэр ягъэлъагъуэу зэхэуэр щынэхъ гуащIэ щIыпIэмкIэ зрат, я Iуэхур псэзэпылъхьэпIэми, къикIуэт жыхуаIэр ямыщIэу мэзауэ. ИкIи я напэр текIауэ аращ зауэлI гуэр къарурэ зэфIэкIкIэ абдеж къыщытекIуэмэ». Уэркъ-лIакъуэлIэшхэм къатехуэр зэуэну аращи, – етх Хъан-Джэрий, – я щхьэ хуагъэфэщэнукъым абдежым шы е былым, н.къ. зыIэрагъэхьэным иужь итыну». ЗэуапIэм къызэрыIукIыжынумкIэ зэрощIэхэри къызэрыIуохыж. Гъуэгу къытеувэжакъэ – шупэхутэу щытар дзэм и ужь иту къокIуэри, къылъэщIыхьэрэ къеуэмэ, бийм пэщIоувэ. АпщIондэхукIэ дзэм и нэхъыбэм къаIэрыхьар яхь-яхуу епIэщIэкIыу мэкIуэж. ЛъэпкъыфI къыхэкIар мыпхуэдэм деж зыпылъыр пщIэрэ щIыхьрэ къызэрихьынырщ, армыхъумэ къуентхъыркъым дэзыхьэхыр. Бийм зэребгъэрыкIуэ, зэрезауэ Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэр къагъэсэбэпт адыгэхэм. Шуудзэр сатыритIу иувыкIыу щызэдилъи, дзэщхьищу, «каре» жыхуаIэм хуэдэу дзэр иувыкIрэ хъума хъун щхьэкIэ шуудзэр я зэхуаку ириубыдэу щащIи щыIэт. Адыгэ шуудзэр зэуэ зэдилъти напIэзыпIэм бий бэлэрыгъам теуэт. Зылъэгъуахэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, къикIуэтыжым, аргуэру къаруущIэ зэхуахьэсыжым бийм еуэурэ, шупэхутэр сыхьэт зыбжанэкIэ ебгъэрыкIуэфынут. Н. Грабовскэм зауэ гуэрым и гугъу ещIыжри, абы хэта адыгэхэр зэкIэлъыпытурэ сыхьэтихым щIигъукIэ бийм теуащ. КъикIуэтыж хуэдэу защIти, зэзауэр куэдрэ къагъапцIэт, загъазэрти къыкIэлъыщIэпхъуам хэуэрт е ар щIыпIэ хутыкъуапIэ гуэрым ирашэти хьэкIэлъыкIэр халъхьэт. Шу кIапсэкIэ зэджэ Iэмалри куэдрэ къагъэсэбэпт адыгэхэм. Шууейхэм щIэпхъуэжа нэпцI защIу лъэныкъуэ зырызкIэ задзт. КъакIэлъыпхъэрахэм сатыру зыщаукъуэдиинум нагъэст «ирахужьахэм», зэуэ я гупэ къагъазэти, къэсам бжыкIэ е сэшхуэкIэ къахэуэурэ, псори шым кърагъэпсыхт... Къежьэжауэ къыщыкIуэжкIэ зекIуэлIхэр япэу къыщыувыIэр мэзым и щIыпIэ нэхъ дэгу гуэр дежт, псым пэгъунэгъуу. Абдежым мафIэ ящIт, я нэхъыжь дыдэм Тхьэм фIыщIэ хуищIти, былым къахумэ, абы щыщ яукIт, уIэгъэ хъуар япхэт. Гъэр къащIахэр, цIыхухъухэмрэ цIыхубзхэмрэ щхьэхуэщхьэхуэу гуэшауэ, яхъумэт. Зэрыхабзэти, цIыхубзхэр зыхъумэр псоми пщIэ зыхуащI зауэлI нэхъыжьт. КъаукIахэм я хьэдэр щIакIуэм кIуэцIашыхьт, зэкIуэцIапхэжти жыг щIагъым деж увыIэпIэ хуащIт. Абдеж дыдэм абыхэм я Iэщэр къудамэхэм щыфIадзэт. Гупым я пашэм и Iэщэр зыкIэрихыу зауэм хэкIуэдахэм я хьэдэм гъуэрыгъуэурэ щыму бгъэдэсыжыныр хабзэт. Абы и ужь иту зекIуэлI псоми ардыдэрат ящIэр. Шу пщыIэм е къызыдэкIа жылэм кIий-гуоуэ, фочхэр ягъауэу техьэжыр зи Iуэху къикIауэ къэзыгъэзэжхэрат. ЩIежьар къемыхъулIарэ хэщIыныгъэ яIэмэ, гупыр жэщрат къуажэм щыдыхьэжыр, хьэдэхэр щызэбграшыжыр. Гуауэр зылъэIэса унагъуэм япэ щIыкIэ щхьэкIуэ хуагъакIуэт – хабзэм тету ящIэрт а Iуэхугъуэри. Ижь-ижьыж лъандэрэ хабзэу къокIуэкI, зауэ хъуамэ, абы текIуэныгъэ къыщызыхьым фейдэ гуэр къыхихыу: ар мылъку, гъэру къаубыда цIыху, н. къ. ирехъу. Абы и щыхьэту тхыдэм къиIуэтэжыфынур мащIэкъым. Псом хуэмыдэу а хабзэр щынэрылъагъущ феодализмэм и зэманымрэ абы и пэ ита класс зэхэгъэж зимыIа зэхэтыкIэмрэ. Адыгэхэм зауэкIэ къаIэрыхьа мылъкур феодальнэ зэхущытыкIэхэм пыухыкIауэ къагъэув хабзэхэмрэ лъэпкъым и псэукIэм кIэщIу пыщIа щхьэусыгъуэхэмрэ тету ягуэшыжт. Илъэс къэс адыгэпщхэмрэ уэркъхэмрэ зекIуэшхуэ къикIыжа нэужь, кърахьэлIар зэрагуэшыжу щыта щIыкIэм Хъан-Джэрий тетхыхьащ. Абы къызэриIуатэмкIэ, зекIуэм и Iуэхур зэфIэкIа нэужь, къуентхъым (кърахьэлIам) и Iыхьэр, – ар и нэхъыбэм деж гъэр къащIа цIыхухэрат, – хьэпшып лъапIэхэмкIэ къахъуэжт: щэкI дахэкIэ, дыщэм, дыжьыным къыхэщIыкIа хьэпшыпхэмкIэ. XVIII лIэщIыгъуэм феодальнэ зэхущытыкIэхэм ита Шэрджэсыр зэрыта щытыкIэр къэзыIуэтэжа Главани Ксаверио мыпхуэдэу етх: «ЗекIуэм гъэру къыщаубыдахэр ермэлыхэм иращэ. А ермэлыхэр езыхэр, адыгэ бейгуэлхэм якъуэувауэ, а щIыпIэм щIэупщIэ щызиIэ хьэпшып лъапIэхэр къашэри къокIуэ, ахэр зэрагъэкIуэкIын мурадкIэ. ИкIи я Iуэхур хъарзынэу къокI». Главани зи гугъу ищI сондэджэрхэм зекIуэм и зэманри, ар зэфIэкIыу ежьахэр я унэ щекIуэлIэжри ящIэрти, зекIуэлIхэм я къуентхъыр щагуэшыж гъэмахуэпэм е бжьыхьэкIэм зыкърагъэхьэлIэт. ЗекIуэ къикIыжхэр шу пщыIэм техьэж хабзэт. ИкIи абыхэм къаIэрыхьаIамэ, нэфI-ней хэмылъу къахуэзыгуэшын зы цIыху, псоми дзыхь нэхъ зыхуащIу хахт. Хъан-Джэрий зэритхымкIэ, къуентхъыр къезыхьэлIа цIыху бжыгъэм тещIыхьауэ ар ягуэшыжырт. Щрагъажьэр нэхъыжьхэм я дежт. Ныбжь зиIэм, – ар пщафIэ къудейуи ирехъуи, – ягуэшым япэу хагъадэти зыхуейр къыхрагъэхт. Псалъэм къыдэкIуэу къэдгъэлъэгъуэнщи, гупым пщафIэу хэтым зекIуэр екIуэкIыху мэл е Iэщышхуэ яукIыурэ яшхам къытраха фэр иратт. Мыдрейуэ, я ныбжьым елъыта хэмыту, гупым пашэу яхэт пщым е уэркъым къыхэкIам и Iыхьэр щхьэхуэу хэплъыхьат. Адыгэхэм хабзэ зэрахуэхъуам тету, я пщыжьым зекIуэм хыхьэн хулъэмыкIми, абы и уэркъхэм кърахьэлIам щыщ IыхьэфI хухахт. Псальэм папщIэ, Нэгумэ Шорэ зэритхымкIэ, гъэр къащIахэм щыщ е Iэщ, е нэгъуэщI зыгуэр хуагъэфащэт. Гъэру къаубыдам «Iэрыубыд»-кIи «кIэс»-кIи (кIэсу къахьа) еджэт. Гупым гъуазэу яхэтым IыхьитI лъагъэст. ИкIи ар езыр уэркъым къыхэкIа-къыхэмыкIам емылъытауэ. Зы Iыхьэр – псоми хуэдэу зекIуэм зэрыхэтам папщIэ, адрейр – гъуазапщIэ IыхьэкIэ зэджэр арат. Мы псалъэхэр адыгэ уэрэдыжьым щыщщ: ...Дзэшхуэр зезышэхэм Вагъуэшхуэ лыд гущэхэр я гъуази, Шу гъуазэу диIэхэм ГъуазапщIэ Iыхьэхэр хухахри... Къуентхъыр ягуэшыжа нэужь, дзэпщым шууейхэр еутIыпщыжри, езыри и унэ йокIуэлIэж. Жылэм дэсхэр къэкIуэжхэм гуфIэу къапожьэ. Мо зи Iуэху къикIауэ къэзыгъэзэжхэм я къуажэгъу тхьэмадэхэм, зи ныбжь хэкIуэта цIыхубзхэм, псом хуэмыдэу фызабэхэмрэ зеиншэхэмрэ, гулъытэншэу къамыгъанэу тыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр хуащI. Iэщ къахуам щыщ е хьэпшып гуэрхэр ират. Хъыджэбздэсхэр унагъуэ гуэрым щызэхуэсу зекIуэ къикIыжахэм тхьэлъэIу хуащIынри хабзэт. Абдежым Iэщ щаукIт, Iэнэхэр къагъэувт, къэкIуэжахэм джэгушхуэ иращIэкIт. ЩIалэхэм къахьам щыщ джэгум хэт хъыджэбзхэм Iэмал имыIэу иратт: щэкI кIапэ лъапIэхэр, дыщэм, дыжьыным къыхэщIыкIа хьэпшыпхэр, н. къ. Адыгэм къызэригъэувымкIэ, зекIуэлI нэсыр хьэлэлу, гущIэгъу хэлъу, тхьэмыщкIэм гулъытэ хуищIу щытын хуейт икIи зекIуэм кърихаIамэ, зи Iуэху хуэмыщIауэ псэухэм яхуэгуэшыныр и къалэнт. Абы езым мылъку зэхуэхьэсын жыхуэпIэр ищIэххэтэкъым, унэм тыншу исыну къытехуэтэкъым. А псор къыщежьэр хабзэрати, зыр адрейм дэIэпыкъуныр, гулъытэ хуищIыныр абы и лъабжьэт. Италием щыщ зыплъыхьакIуэ Интерианэ Дж. мыпхуэдэу итхыгъащ: «Адыгэхэм цIыху хьэлэлым пащI щыIэкъым. ИкIи ящыщ дэтхэнэми, и шымрэ и Iэщэмрэ къинэмыщIа, мылъкуу иIэр зэбгритыкIыфынущ. И щыгъыным и гугъу умыщIыххэ – ар апхуэдизкIэ зэбгратыкIри, уэркъ щауэм нэхърэ абы и пщылIыр нэхъыфIу щыхуэпар нэхъыбэщ. Илъэсым зэ е тIэу фэилъхьэгъуэфI ирагъэд, ауэ «мы пщыгъыр сыту дахэ» е «сыту къокIурэ» къыжезыIам асыхьэту иратынущ, ар ягу пымыкIыу гу зылърагъэтэныр напэтехыу къащохъури. Дарийджанэ дахэр джанэ тIорысэжькIэ къахъуэжри, цIыхум зыгуэркIэ зэрыхуэупсам щыгуфIыкIыу йожьэж. Уэркъым къыхэкIар адрейхэм нэхърэ сыт щыгъуи нэхъ бэлэбанэу щIэхуэпар аращ. Шымрэ Iэщэмрэ я закъуэщ адыгэлIым нэхъ лъапIэу бгъэдэлъыр…» ЗекIуэ къикIыжым къыхуэзэIарэ: «Саугъэт!» – къыжриIамэ, Iэмал имыIэу, абы тыгъэ гуэр хуищIт. Шы нэгъунэ щрит къэхъут, цIыхур тыгъэншэу къигъэнэныр арат емыкIушхуэ зыпылъыр. А псори адыгэ хабзэм щыщт. Лъэпкъым и дуней тетыкIэм гулъытэр, хьэлэлагъыр, нэгъуэщIу жыпIэмэ – цIыхугъэр псом япэ игъэщын хуейуэ къигъэувти, зыр адрейм дэIэпыкъуныр къызэрыгуэкI Iуэхуут къызэралъытэр. А хабзэм и фIыгъэкIэ лъэпкъым и дэтхэнэ Iыхьэми: мэкъумэшыщIэ, пщылI, унэIут дыдэ ирехъу – тхьэмыщкIагъэм щыхъумауэ ирихьэкIт и гъащIэр. ИкIи факъырэIус къыхэзыхыу къэзыкIухьхэр адыгэм зэи къахэкIыу щытакъым. Абы теухуауэ XIX лIэщIыгъуэм тепсэлъыхь англичанин Белл Дж. мыпхуэдэу итхыгъащ: «...Зыхуейуэ хъуамкIэ къызэгъэпэщауэ адыгэ псори псэукъым, ауэ я Iуэху зэрырагъэфIэкIуэным иужь итхэщ. ИкIи ар зрагъэхъулIэ. Егъэлеяуэ къулей е егъэлеяуэ тхьэмыщкIэ абыхэм яхэткъым...» Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, мылъкум и закъуэ феодальнэ зэхущытыкIэхэм ит адыгэхэм мыхьэнэшхуэ ираттэкъым, ар зыбгъэдэлъым шууей хахуэу, цIыху хьэлэлу и цIэ имыгъэIуамэ. Хьэлэлагъыр уэркъ хьэлу щытын хуейуэ къалъытэт. ИкIи зэрыхуейм хуэдэу игуэш зэрыхъумкIэт зыхулъэкIым и мылъкум мыхьэнэ зэригъуэтыр. Мыбдежым зы Iуэхугъуэ къэгъэлъэгъуапхъэщ: феодальнэ зэхэтыкIэм пщIэрэ щхьэрэ ущиIэн, узыхуей цIыхухэм уапыщIа хъун папщIэ хьэлэлагъымрэ гулъытэмрэ укъэзымыгъэпцIэжын «Iэщэт». «...А зэманым зи Iуэху дэкIуэтейри, нэхъ лейуэ ялъытэри, зи цIэ фIыкIэ ягъэIури хьэлэлагъ зыдалъагъур арат. Къанлыуэ, гулъытэншэу яIуатэр цIыхум зэрахэзэгъэным пыкIат», – етх Барулин С. Мы псалъэхэр псом хуэмыдэу адыгэ феодальнэ обществэм хуэпхь хъунущ. «Адыгэпщым и лъэкIыныгъэр къэзыгъэлъагъуэр, зауэ къэхъуамэ, абы и бэракъым и благъэ-Iыхьлыуэ, и телъхьэхэу къыщIэувэм и бжыгъэрщ...» (Монпере Ф.) «Абы къыхэкIкIэ, – етх Хъан-Джэрий, – я уэркъхэм папщIэ зыхущысхь щымыIэу абыхэм зэпымыууэ тыгъэ лъапIэхэр хуащI. Уеблэмэ, адыгэхэм къызэралъытэмкIэ, мылъку зэхуэхьэсыныр мыхьэнэ лъэпкъ зимыIэщ. Къыпхэхъуэр бгуэшмэ – арат фейдэ зыпылъыр. Къуентхъым и Iуэхури апхуэдэт. Ар куэду къызыIэрыхьам зэрызауэлI хахуэр, зэрышууей Iэзэр къигъэлъэгъуауэ арат, армыхъумэ, языныкъуэхэм къазэрыщыхъум хуэдэу, мылъкуракъым щIежьари гугъу зыщIригъэхьари». Шэрджэсым цIэрыIуэ щыхъун папщIэ адыгэпщыр зауэлI къэмылэнджэжу, цIыху хьэлэлу псоми ятеIуэу щытын хуейт. Пэжу къыбгъэдэтын зауэлI бжыгъэшхуэ абы и деж къезышалIэу щыIэр а зы Iэмалырт. Орбелиани Г. етх: «Къэбэрдейм зи псалъэ къару щигъуэтыр, зауэм щыхахуэ, унэм щыбысым гуапэ пщырщ. Апхуэдэм уэркъ щауэ куэд къыхуэжыIэщIэ мэхъури, ар ягъэпашэу зауэм Iуохьэхэр». УкъызыхэкIар мыщIагъуэми, адыгэм ар къыпхуигъэгъунут уи цIэ фIыкIэ бгъэIуамэ. Арагъэнщ тумэкIэ зэджэхэм зекIуэлI цIэрыIуэ куэд къащIыхэкIар. Къудащ В. зэритхымкIэ, зэфIэкIышхуэ къэзыгъэлъагъуэ тумэм пщIэрэ щхьэрэ къыхуащI хъут, пщыцIэ къыщыфIащыпи къэхъуу. Арат пасэ зэманым абыхэм яхулъэкI къамыгъанэу зекIуэм, зауэм я хахуагъ щIыщагъэлъагъуэр, хьэлэлагъкIэ зыри зытрамыгъэкIуэну щIыхэтыр. Тумэхэм я иужьрей щапхъэфIщ I860 гъэхэм хуабжьу цIэрыIуэу щыта абрэдж хахуэ ХьэтIэхъущокъуэ Талъостэн. Адыгэ уэрэдыжь, хъыбарыжь куэдым я лIыхъужь, ХVI лIэщIыгъуэм псэуауэ зыхуагъэфащэ Андемыркъани, языныкъуэ щIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, тумэщ. ЗэрыжытIащи, къаIэрыхьэну къуентхъыр аратэкъым нэхъыбэу зекIуэ щIежьэр, атIэ абы пщIэрэ щхьэрэ щызрагъэгъуэтыну арат я нэ къызыхуикIыр. А зэманым адыгэхэм я псэукIэм набдзэгубдзаплъэу хущыта тхыдэтх Дубровин Н. етх мыпхуэдэу: «Шынэ зымыщIэ зауэлI нэсу лъэпкъ псом зытрагъэIуэн щхьэкIэ, адыгэм сыт хуэдэ гугъуехьри дигъэхуэнущ и фэм. ИкIи Iэщэ щIиIыгъри, псэхупIэ зримыгъахуэу щIэпсэури, зэхэуэ хъуамэ, и щхьэ щысхь жыхуаIэр имыщIэу абы щIыхэтри аращ: и жылэ закъуэм мыхъуу, и хэку псом пщIэ къыщихьын, хъыбаркIэ, уэрэдкIэ зигъэIун папщIэщ. Ар хуабжьу Iуэху гугъущ, сыту жыпIэмэ, езы адыгэм зыщытхъуж, и щхьэ Iуэху тепсэлъыхь и хьэлкъыми…» ДжэгуакIуэм уэрэд зыхузэхилъхьа адыгэлIыр лъэпкъым игъащIэкIэ щымыгъупщэн хъут. Мывэ сыныр мэкIуэдыж, МыкIуэдыжыр уэрэдщ. Адыгэ зауэлIхэм я лъэр нэхъри щIигъэкIт дзэм щIыгъу джэгуакIуэм. А уэрэдусхэм уи пщIэ зэраIэтыфынум хуэдабзэу, шынэкъэрабгъэу гу къыплъатамэ, цIей-напейуэ жылэм удахьэнут. Зи Iуэхур абы хуэкIуар лъэпкъым дежкIэ напэтехт, абы и ныбжьэгъухэм я щIыб къыхуагъэзэнут, зы хъыджэбз къеплъыжынутэкъым, ауаныщIу псоми къахуэнэнур арат. ЛIыхъужь уэрэд зыхурагъэусын – а щIыхь иныр зылъагъэсын папщIэ зауэлIхэр я псэ емыблэжу зэхэуэм я нэхъ гуащIэми хэтт. Ауэ фIы здэщыIэм Iеи щыIэщ, адыгэхэм пщIэмрэ щIыхьымрэ апхуэдизу мыхьэнэ зэрыратым къайгъэ къыщишэ къэхъут. Бгъэжьнокъуэ Б. пэжу гу зэрылъитамкIэ, сыт щыгъуи, дэнэ дежи псом япэ ищыну, псоми закъыхигъэщыну хущIэкъу адыгэлIыр зи къарурэ зэфIэкIкIэ куэд къыдэзымыгъэплъ нэгъуэщI гуэрым Iэмал имыIэу ехъуапсэт, ефыгъуэт. Езым къефIэкI зэрыщыIэм псэхугъуэ къезымытыр къайгъэлъыхъуэти, фIэгъэнапIэ гуэр зэригъуэту, и «бийм» илъ игъэжэну хьэзырт. Адыгэпщхэр зэзэуэныр нэхъыбэу а щхьэусыгъуэм къыхэкIыу икIи абы лъэпкъым зэраныгъэшхуэ къыхуихьу щытауэ яIуэтэж.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "shykh-r.txt" }
Токмакова Иринэ ЗэзыдзэкIар Сижажэ Мансурщ Дзэл Псыхъуэм, бжьэпэ щIагъым ЩIэт дзэлыр магъри магъыр. Зыгуэр хъуа е фIэгуэныхь? Е дыгъэ гуащIэм хъунщ хэткIухь. Хьэмэрэ, мо жьы къуейщIейр КъеIа абы и щхьэц къэтIейм. ХуэлIэу пIэрэ дзэлыр псы? Хьэмэ деупщIын езым?
{ "source": "adygabza.ru", "id": "sijajamansur.txt" }
Инджылыз сурэтыщI Симпсон Уилям Шэрджэс хэкур зэрилъэгъуар Симпсон Уилям (I823 - I899) Шотландием щыщ инджылыз сурэтыщIщ. Абы и лэжьыгъэхэр къытехуэу щытащ «Сурэт зыщIыгъу Лондон хъыбархэр» («Illustrated London News») газетым. Кърым зауэр зи нэкIэ зылъэгъуа икIи и нэгу щIэкIа теплъэгъуэхэр тхыдэм къыхэзына щIалэм и унэцIэм «Кърым» цIэ лейр пагъэувауэ къокIуэкI. Ди дежкIэ Симпсон гъэщIэгъуэн зыщI щхьэусыгъуэщ ар I855 гъэм Шэрджэс хэкум къэкIуауэ зэрыщытар. СурэтыщIыр икIи тхакIуэ Iэзэт. «И адэм и гъащIэр щапхъэ хуэхъун папщIэ» зыфIища, и пхъум щхьэкIэ итхыжа абы и гукъэкIыжхэращ «Шэрджэсей» (Cirсassia) зи фIэщыгъэ Iыхьэр зэрыт тхылъыр. Ди гуапэу фи пащхьэ идолъхьэ Симпсон и сурэт зыбжанэрэ езым и гукъэкIыжхэм щыщ пычыгъуэрэ. «Симпсон Уилям и автобиографие» тхылъым къыхэхауэ А зэман дыдэм Ньюкасл-герцогым Шэрджэс хэкур илъагъуну гукъыдэж зэриIэмрэ адмиралым Iуэхур къыдигъэпсынщIэн папщIэ кхъухь къыхуигъэкIуэну къызэригъэгугъамкIэ хъыбар къызигъэщIащ. Сэ си къалэныр абы гъусэ сыхуэхъуу, сурэт зыбжанэ къыздэсхьыжынырт. А хэкур слъагъуным сэри куэд щIауэ си нэ къыхуикIырти, ар адмиралым жесIащ. Езыми, урысхэм я быдапIэ ягъэIэпхъуахэм якIэлъыплъу ди дзэхэм Iуфэм щаIыгъ кхъухьитIым язым сригъэтIысхьэу си нэгу зригъэужьыну сыкъигъэгугъащ. Севастополыр хуит мыхъужауэ сежьэмэ, сигу зэгъэнутэкъыми, «Сытым щыгъуэ Шэрджэс хэкум укIуэну ущимурадыр?» - жысIэри герцогым сеупщIащ. КъызэрыщIэкIымкIэ, абыи зыгуэрым триубыдауэ щыттэкъым, ари зыпэплъэр ардыдэрт. I855 гъэм фокIадэм и 2I-м герцогым къысхуитха зы тхыгъэ сохъумэ. Абы итщ зиусхьэн Эдмонд Лионс Шэрджэс хэкум дынигъэсын папщIэ, Зи щIыхьыр ин пащтыхь гуащэм и кхъухьым дитIысхьэну унафэ къызэрыдигъэкIар икIи ар тхьэмахуэ къакIуэ, фокIадэм и 26-м хьэзыр зэрыхъунур. А Iуэхур гузэвэгъуэшхуэм – Севастополыр къызэраувыхьам – кIэух гуIэфIтещIэж хуэдэу хуэхъуат. Зыгуэрым и жьэ къыжьэдэкIауэ къызогубзыгъыж Кърым зауэм и пэ къихуэу Шэрджэс хэкум кIуа британхэм я бжыгъэр зы Iэм и IэпхъуамбэхэмкIэ къыпхуэбжыну зэрыщытар. Бзылъхугъэ щIэращIэхэр щыпсэу щIыпIэ гъэщIэгъуэну къызыфIэзгъэщI а щIыналъэм сызэрыкIуэм си гур игъэфIырт. Герцогым Инджылызым къыздришауэ пщылI гуэр иIэт, Лука и цIэу. Си гугъэмкIэ, ар и лъэпкъкIэ куржыт. Лука Лондон къыщалъхуат, абы къэна и щхьэгъусэм сату Iуэху гуэрхэр щызэрихуэу. Езыр Хыкурытым и Iэгъуэблагъэм щызекIуэ бзэуэ хъуам ирипсалъэрт: инджылызыбзэм, франджым, урымыбзэм, тыркубзэри фIыуэ ищIэрт, си гугъэмкIэ, хы ФIыцIэ Iуфэм щызекIуэ бзэхэри хуэгъэшэрыуэрт. Гу лъыстэрт ар лъэпкъ зыбжанэм къахэкIахэм къыщаувыхькIэ, зигъэтэрмэшу зэрахэтым. Дэтхэнэ зыми зыхуигъазэурэ езым и анэдэлъхубзэмкIэ епсалъэрт, зэрыпсалъэ бзэр тэлай къэс ихъуэжыну зыкIи къемыхьэлъэкIыу. Бриерли Освалд – сурэтыщIыр, зиусхьэн Освалд и гупым щыщт, абы и пэкIэ ар Балтийскэ хыдзэм хэтащ. Гъуэгу дыздытетым иджыри зыгуэрхэр гъусэ къытхуэхъуащ. Ди кхъухьыр Кърымым и Iуфэ ипщэм Iуту здрикIуэм, Воронцов и лъапсэмрэ Ялтэрэ дыблэкIри, фокIадэм и 29-нэ махуэм Керчь дынэсащ. Герцогым, зэрыгурыIуэгъуэщи, къыфIэIуэхур Еникъалэт, сыту жыпIэмэ, абы и цIэм къикIыр «къалэщIэ» жиIэу арат, езым и унэцIэ «Ньюкаслым» и мыхьэнэм ещхьу. Языныкъуэхэр гушыIэрт: герцогыр Еникъалэ кIуэныр Ньюкасл фIамыщI пшэным ещхьщ жаIэурэ. Жэпуэгъуэм Iэнэпэ дынэсакIэт. Ар Шэрджэс хэкум и нэхъ ищхъэрэ дыдэм хуозэ. Абдежым урысхэр щIылъэми псыми щызауэхэрт, дзэ зэгъэпэща куэд щаIыгът. Дэ дыщынэсам, абы тыркухэм я дзэхэри щыIэт. Бгыхэм Iэнэпэ и къуапэ ипщэм деж щыщIедзэ, ауэ ищхъэрэкIи къуэкIыпIэмкIи щIыналъэр зэрыщыту тафэщ. Жэпуэгъуэм и 3-м адыгэ гупышхуэфI ди гъусэу къуэкIыпIэмкIэ дежьащ. Псыжь псыежэхым дынэсыху зы милэ е нэхъыбэ ткIуащ. Бгылъэ Шэрджэс хэкум щыщIидзэр абдежращ. А Iуащхьэхэм япэгъунэгъуу Псыжь псыр щожэх. Ар къухьэпIэмрэ къухьэпIэ ищхъэрэмкIэрэ мажэ, итIанэ Керчь хыхьэ псыдэуапIэхэм холъадэ. Абырэ Каспийм хэлъэдэж Тэрчрэ мы щIыналъэм зыщызыубгъуа Урысейм и гъунапкъэ хъуащ. Дэ дызыбгъэдыхьа Псыжь Iуфэм деж быдапIитI, зыр адрейм пэщIэту, Iуфэ зырызым Iутт. Мыбдежым абыхэм ятеуэну загъэхьэзыру фэ зытет шэрджэс гупышхуэм дащыIущIащ, ауэ си гъусэхэм къазэрыфIэщIымкIэ абыхэм апхуэдэфэ зытрагъэуэну хуейуэ аркъудейт. Уатеуэныр акъылыншагъэт: быдапIитIри топкIэ узэдат. Шэрджэсхэм шы, фоч, кIэрахъуэ, маисэрэ сэшхуэрэ фIэкIа яIэтэкъым. БыдапIэхэм зэрытеуэну Iэщэу яIэщIэлъыр фоч къудейт. Я хахуагъэр делагъэм пэгъунэгъут. Яшхэм зытрадзэри, шэрджэсхэм быдапIэхэм лъэныкъуэ зырызкIэ бгъэдыхьэн щIадзащ. Ахэр лъагъуэ нэшэкъашэкIэ псынщIэу бгъэдыхьэрт щIы зэтетхъуам, къалэм пэгъунэгъубзэ зэрыхъуу, фочыр зэ ягъауэрти, занщIэу къыIужыжхэрт. Апхуэдэ теуэкIэм быдапIэхэми абыхэм дэсхэми зыгуэр ярищIэн шынагъуэ щыIэ къыщIэкIынтэкъым. Фоч зыбжанэрэ ягъэуа нэужь, быдапIэм топкIэ къызэрыдэукIыр зэхэтхащ. Герцогым адыгэхэм чэнджэщ яритащ теуэр къагъэувыIэну, псом хуэмыдэу уIэгъэ зыбжанэ зэрахэтыр щынаIуэкIэ. Дэ тлъагъум тепщIыхьмэ, яукIа щыIэтэкъым. Теуахэм я зым и Iэр уIэгъэу къызбгъэдыхьащ. Дохутыру сыкъыфIэщIа си гугъэщ. Адрейр нэхъ тхьэмыщкIэжт, абы и куэм техуа шэр хэнат. Сэ сфIэгъэщIэгъуэныр ар къызэрыхахыжыну щIыкIэрт. Ныбжь зиIэ дохутырым шотландхэр «цы къэлътмакъкIэ» зэджэ хъуржын иIыгът. Абы сэм ещхь гуэр къыдихри, шэр къыхихыжын щIидзащ. Шэр къупщхьэм хыхьэри, тIэкIуи зиупIышкIуат. Ар къыхахыжыху шэрджэс уIэгъэм и фэр зэрыпыкIам гу лъыстащ. Апхуэдэ Iэмэпсымэ пхъашэр егуауэу къыщIэкIынт. Ауэ ар пыгуфIыкIыурэ и хъуреягъкIэ щытхэм ядэуэршэрырт. И бэшэчагъыр згъэщIагъуащ икIи герцогым и пщылI Лука абы и щхьэусыгъуэмкIэ сеупщIащ. Лука зэрыжиIэмкIэ, ар къэдзыхэу щэIуатэмэ е кIиятэмэ, зэрымыцIыхухъу нэсыр къраIуэкIыу, занщIэу цIыхубз щыгъын къыщатIэгъэнут. (Тэрмэшым зыгуэр мытэмэму къыгурыIуауэ худогъэфащэ – Ч. М.)) А щIыпIэр шэрджэсхэр къыткIэлъыкIуатэурэ дыбгынэри, къыкIэлъыкIуэ махуэм, жэпуэгъуэм и 4-м Суджук-къалэ дынэсащ, абы дызэрыса Highflyer кхъухьыр щыIэт. Суджук Шэрджэс хэкум и Iуфэм хуэзэ псыдэуапIэ бгъэдыхьэгъуафIэ зыбжанэм я зым Iусщ. Ар Iэнэпэ и ипщэрабгъукIэ къыщылъ япэ жылэщ. Абы дынэса нэужь, къуажитIри зэпызыщIэ гъуэгум дытехьащ. Ар урысхэрат пхызышар. ДыкIуэурэ, шэрджэсхэм зыщахъумэн папщIэ яухуа быдапIэ гуэрым дынос. Нэщхъеягъуэ дауэдапщэ дрихьэлIати, дыкъыщымыувыIэу хъуакъым. ЛIар щIалъхьэу аратэкъым, махуэ зыбжанэ и пэкIэ дунейм ехыжар зэрагъэлъапIэ гуэру аркъудейт. Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, тхьэмахуэ, мазэ бжыгъэм къриубыдэу мыбдежым блэкI псори дунейм ехыжагъащIэм папщIэ зэхашэ зэхуэсхэм хэтын хуей хъунут. «Буза» зи цIэ зыгуэрым дыщефащ абдежым. Ар узижагъуэн и махуэт, къызыхэщIыкIари сщIэркъым. Калторп ар мазутI е хьэфэ зыхэгъэткIухьа сэху пхъашэу хуигъэфэщащ. ИгъащIэм нэхъ псыхэкI гущыкIыгъуэ сIухуакъым. Ауэ дызэгупсысым емылъытауэ, лIам и хьэтыркIэ абы демыфэу хъунутэкъым, ар хэту щытми. ДауикI, дэ бысымхэр зыщыдгъэIеиныр ди мурадтэкъыми, шэ къызыхахыжу дызрихьэлIа шэрджэсым дрещхьт. А ткIуаткIуэ Iей дыдэм дефэурэ дыгуфIэн хуейт, ди нэгур зэхуэтшэнкIэ Iэмал иIэтэкъым. Ди гур зэрыдгъэтIысыну диIэ закъуэр инджылызыбзэкIэ хуиту дызэрыпсалъэрати, псалъэ гуащIэхэм дыщысхьакъым. Жэпуэгъуэм и 5-м Суджук-къалэ дыдэкIыжри, и 6-м Геленджик дынэсащ, ар Суджук тIэкIу ипщэIуэкIэ къыщылъщ. ГурыIуэгъуэщ а щIыпIитIри урысхэм къызэрагъэнар. Суджук, е ахэр иджы зэреджэм хуэдэу жыпIэмэ – Новороссийск – зэман дэкIмэ, кхъухь тедзапIэ бэлыхь къызыхэкIыну бгъэдыхьэпIэ тыншщ. Эскиз сщIахэм якIэщIэстхахэм сыщеплъыжкIэ къызощIэж дэ, быдапIэ Iэпхъуэжахэм дыIухьэурэ, хуэм-хуэмурэ Сыхъум-къалэ пэгъунэгъу дыхъуу, ипщэкIэ дызэрыкIуэтар. Iуфэм Iут ди дзэ кхъухьхэм я зым, «Циклоп» жыхуаIэм, дису иужькIэ аргуэру ищхъэрэкIэ дунэтIри щIыналъэм и кум дыкъыщыхутащ. Абы иджы Highflyer кхъухьри и гъусэт. Мы щIыналъэм пыщIауэ щытын, хэкурысхэм я политикэр зыхуэдэм щыгъуэзэн папщIэ, ди тепщэхэм къаутIыпща консул Лонгворт Шэрджэс хэкум къакIуэу тхылъ зэритхыж зэман лъандэрэ зекIуэрт а кхъухьыр. Сыту жыпIэмэ, зауэм адэкIи зиубгъумэ, мыбы британ армэр къыщрагъэтIысыкIыну жэрдэм зыщIхэр щыIэщ, ар къыщыхъунур къыкIэлъыкIуэ илъэсыр ара къыщIэкIынщ. Кэмпбелл Колин зи унафэщI бгырыс дивизэм и гугъу ящI а Iуэхум теухуауэ. Сэ къызэрызгурыIуэмкIэ, «Циклоп»-р къыщIаутIыпщар Лонгворт унафэщIхэм яхуэзэну Iэмал иIэн щхьэкIэт. А зиусхьэныр ди гупым къыхыхьэжри, зекIуэ гуэрхэм къыддыхэтащ. Иджыри гъусэ къытхуэхъуат а зэманым цIэрыIуэ хъуа Лоренс Олифант. Ар зауэр къэмыхъей щIыкIэ Кърымми, Севастополь нэгъуни щыIат. Зауэр щекIуэкIым абы «Хы ФIыцIэм урысхэм щаубыда Iуфэхэр» тхылъыр итхащ. А зэманым Кърымым теухуауэ ящIэр мащIэ дыдэти, тхылъыр зэрапхъуат. Иджы Олифант аргуэру хы ФIыцIэм техьауэ арат, хъыбарыщIэ зэхуихьэсын папщIэ. ИщхъэрэкIэ дыщызэхэзекIуэху адыгэ хабзэхэм дыкIэлъыплъыну Iэмал диIащ. Шууэт къызэрыткIухьри, адыгэ уанэ къэзмыгъэщхьэпэу хъуакъым. Шы ныбэпх папщIэу къагъэсэбэп фэлъырхэр зэпычри, уанэм сригъусэу шым сыкъещэтэхат. Насып сиIэу, къысщыщIаIакъым. Илъэс зыбжанэ дэкIа нэужь, Олифант Лоренс «Хэкупсэхэмрэ хы хъунщIакIуэхэмрэ» тхылъ итхыжащ. ХэкупсэкIэ ар зэджэр шэрджэсхэрат. А тхылъым Олифант къыщыткIухьа щIыпIэхэм щытопсэлъыхь, си уанэр щIэх-щIэхыурэ къещэтэхыу зэрыщытами и гугъу щещI. Инджылыз уанэ къыздэзыщтахэр щыуатэкъым. Ди гъуэгуанэр лъагъуэ пхыубыкIа фIэкIа, гъуэгу здэщымыIэ щIыналъэм пхыкIырт. Iуащхьэхэм дыдэкIуеин, мывэ зэтетхъуахэм дрикIуэн, псыежэххэм дызэпрыкIын хуей хъурт. Япэ жэщым адыгэхэм я цIыху гъэхьэщIэкIэр фIыкIэ дгъэунэхуну Iэмал дгъуэтащ. Iуащхьэхэм дрикIуэурэ гъуэгуанэ кIыхь зэпытча нэужь, пщым и хэщIапIэм дынэсащ. Ар зи блынхэр ятIэкIэ яя бгъэныщхьэ унэ зыбжанэт, языхэзыр хьэщIэщу. ЦIыху хамэхэм папщIэ лэгъунэ лей яIэныр зи щхьэгъусэхэм, цIыхубз псоми пщIэ яхуэзыщI муслъымэныфIхэм я хабзэщ. Зи гугъу сщIыр зи лъэгур ятIэкIэ къищIыкIа, ардыдэмкIэ щIа дапхъэхэр, алэрыбгъу е шхыIэн тепхъуауэ, зиIэ унэ цIыкIут. А дапхъэхэр махуэм тэхътэбану, жэщым гъуэлъыпIэу къагъэщхьэпэрт. ХьэщIэ шхыныр зэрагъэхьэзырыр мыпхуэдэущ. Зыгуэр макIуэри мэл е бжэн къеубыд, ар фIагъэжри пщыхьэщхьэшхэу япщэфI. Абы сыхьэтищ-плIы ехь, ауэ упэплъэху узэрытеури шэрджэс хабзэм щыщщ. Дэ зэхэтхырт гъунэгъуу щыт унэм бзылъхугъэхэм щIакхъуэ къызыхащIыкIыну нартыхухэр зэрыщахьэжыр. Зэи сымылъэгъуахэр си нэгу зэрыщIэкIым пщыхьэщхьэшхэм сызэрежьэ зэманыр тыншу ирызигъэхьэкIащ. СигукIэ Инджылым и лъэхъэнэм сыIэпхъуэжат, си хъуреягъкIэ щыслъагъу псори Ибрэхьим лъапIэр щыпсэуа пасэрей зэманрауэ къысфIэщIырт. Ерыскъыр хьэзыр зэрыхъуам и япэ нэщэнэр псы зэрыт жэз гуэгуэн, тепщэчышхуэ, напэIэлъэщI иIыгъыу ди бысымыр къызэрыщIыхьарат. Гуэгуэным ит псымкIэ псоми я Iэхэр яригъэтхьэщIащ. ЗэрызыттхьэщIу бысымым ерыскъыр къыщIихьащ. Шэрджэс хэкум Iэнэхэр къыщагъэщхьэпэркъым. Абыхэм я пIэкIэ дэ шэнткIэ дызэджэм ещхьу зыгуэр зэрахьэ. Ар хъурейщ, футитI хуэдиз и къэухьу, апхуэдиз дыдэкIэ щIым къытеIэтыкIауэ. Абы щIым ущысу утешхыкIыну тыншщ. Дэтхэнэ зы Iэнэ хъурейри тепщэчышхуэм хуэдэт. Нартыху гъэвар Iэнэм Iуащхьэм ещхьу къытракIутэри, абы и кум шыпс зэмылIэужьыгъуэхэр зыщIэт лы иралъхьащ. (Мыбы зи гугъу ищIыр пIастэ къыщIэкIынщ – Ч. М.) Нартыхур икIи хьэкъущыкъут икIи шхыныгъуэт. Ерыскъы куэд къахьакъым, мэлыл зэрылъ апхуэдэ нартыху Iуащхьэ зыбжанэ фIэкIа. БысымыфIыр къызэращIэр Iэнэм яхьа ерыскъым и бжыгъэмкIэщ, аращ екIуэкI псори ямыгъэлъагъуэу щIэмыхъур. Адыгэ хабзэмкIэ фIыгъуэу щы щыIэщ: маисэ жан, бзэ IэфI, Iэнэ (ерыскъы зэмылIэужьыгъуэ) плIыщI. Япэрейр хахуагъращ. ЕтIуанэр – псэлъэкIэ пщIэныр. Ещанэр – хьэщIэм узэрыхуэфIращ. КъуэкIыпIэм «плIыщIым» къыщрагъэкIыр гъунэ зимыIэ бжыгъэщ. Пасэ зэманым псэуа Ибрэхьим лъапIэр и хьэщIэхэр шхэху жыгым бгъэдэту зэрыщытам хуэдэ къабзэу, ди бысымри шхэн духыху къыдэплъу щытащ. Дэ лы Iыхьэ нэхъыфIыр бысымым лъыдгъэсыныр захуагъэу къэтлъытащ. Езыми ерыскъыр къищтэщ, лъэныкъуэ егъэзауэ ишхри къытхыхьэжащ. Абы аргуэру пасэрей зэманыр сигу къигъэкIыжащ. Гомер, Одиссей щытепсэлъыхьым, ар Алкиной пащтыхьым деж щекIуэкIа махуэшхуэм зэрыхэтар игу къыщигъэкIыжкIэ жеIэ абы Демидокус-джэгуакIуэм папщIэ Iыхьэ нэхъыфIыр къипигъэжауэ зэрыщытар. Хъыбарым и купщIэр джэгуакIуэр Iэнэм зэрымытIысыр арат. Ди дежкIэ Iыхьэ нэхъыфIыр псыгъуэу зэпыгъэжауэ Iэнэм телъ мэл кIапэ пшэрырат. Дыщежьэм сэрэ гуахъуэрэ къыздэтщтэну дигу къэкIыжатэкъыми, ушхэныр тынштэкъым. Шхэн зэрыдухыу, бысымым аргуэру ди Iэхэр дигъэтхьэщIыжащ. Мэл зыбжанэ фIамыгъэжу щIэмыхъуар иужькIэ гурыIуэгъуэ хъуащ. Герцогым Тыркум къыщратауэ дэфтэр иIыгът, и щIыхьыр зэрылъагэр къигъэлъагъуэу. Урысхэм абы щыгъуэ а Шэрджэс хэкум и Iыхьэр иджыри яубыдатэкъым, фоч уэгъуэм и жыжьагъкIэ я быдапIэхэм къыпэщылъ щIыпIэхэм ауэ сытми кIэлъыплъ къудейт. Абы къыхэкIыу, сулътIаныр тепщэу зылъытэ шэрджэсхэр сыт щыгъуи, дэнэ дыкIуэми къыткъуэтт, пашэу фэ зытет цIыхуитI-щы ящIыгъуу. Шхэн духыу дыкъызэрытэджыжу, абыхэм я шхэгъуэ хъуащ, иужькIэ цIыху къызэрыкIуэхэр тIысащ, сэ шэчышхуэ къытызохьэ а мэжалIэ къомым зы мэлыр зэрарикъуам. Псори зэфIэкIа нэужь, хьэхэм къупщхьэхэр яIэрыхьащ. ХьэщIэщхэм бзылъхугъэхэр тлъагъуну Iэмал щыдиIакъым. Бзылъхугъэ дахэхэмкIэ цIэрыIуэ щыналъэм дыщыIэ пэтми, абыхэм даIуплъэну зы Iэмали къытхуихуатэкъым, кIуэ, бостеикIэ гуэр блэкI пэтрэ тлъэгъуа фIэкIа. Шэрджэсхэр муслъымэнхэщ, аращи хьэрэмхэр (бзылъхугъэхэр зыщIэс унэхэр) къагъэщхьэпэ. Мыхэр Бегъымбарым и псэукIам ерыщу тетхэм ящыщу къамылъытэми, абы къикIыркъым бзылъхугъэм епха хабзэхэр нэхъ къагъэтIасхъэу. Ауэ ар узытепсэлъыхь мыхъун Iуэхут, дэри гурыщхъуэ къыщIытхуащIын щхьэусыгъуэ къыддалъагъуну дыхуейтэкъым. КъуэкIыпIэм дызэрыщыIэр тщIэжырти, бзылъхугъэхэр – дыкъыщыувыIа унагъуэм щыщхэр - тлъагъуну дыщыгугътэкъым. Ауэ зэ закъуэ - ди бысымым и унэр сурэту сщIыну мурад щысщIам – сызыщIэхъуэпсар къызэхъулIауэ жыпIэ хъунущ. Сурэтым сыпэрысу, бжэм пэгъунэгъуу цIыхубз фащэ зыбжанэ къэслъэгъуащ. КъызэрыщIэкIымкIэ, ар сурэтыщIым и лэжьыгъэм дихьэха хъыджэбз зыбжанэт. Къызбгъэдыхьэну тегушхуа нэужь, унэм и сурэтыр сщIын сыухри, хъыджэбз цIыкIухэм я зым и сурэт сщIын щIэздзащ. Абы бзылъхугъэхэр игъэпIейтеящ. ИужькIэ хъыджэбз нэхъ балигъым и сурэт сщIащ. Абы псори нэхъри нэхъ нэжэгужэ ищIри, иджыри хъыджэбз зыбжанэ къыIухьащ. Сурэт щIын щыщызгъэтар цIыхубзу унэм щIэсым я теплъэр тхылъымпIэм къытещ хъуа нэужьщ. Си гъусэу хьэщIэщым щIэсахэр къаплъэрт. Бзылъхугъэхэм сыкъаухъуреихьа нэужь, тегушхуэхэри, япэщIыкIэ герцогымрэ абы и пщылI Лукарэ къыдбгъэдыхьащ, иужькIэ адрейхэри къыщIэкIащ. КъахуэкIуар ягъэхьэщIэным апхуэдиз мыхьэнэ щрат щIыналъэм пщIэ къызэрыпхуащIам щхьэкIэ ахъшэ сIыфх щыжыпIэныр лейт. Ауэ тыгъэ яхуэпщIыныр хабзэт. Герцогым данэмрэ фэмрэ къыхэщIыкIа хьэпшып зэмыфэгъу гурхэр къыздищтат: сэхэр, лэныстэ цIыкIухэр, мастэхэр, «бзылъхугъэ гъусэкIэ» зэджэ хъуржын цIыкIухэр. Пщащэхэм гуфIэгъуэр зэрахьэу ахэр иратащ. Иджыри зэрэ-тIэурэ унэхэм я теплъэр сщIын щIэздзат, абыхэм щIэс цIыхубзхэр къыщIэзгъэкIын фIэкIа нэгъуэщI Iуэху зезмыхуэу. Апхуэдэу фIэкIа я фащэхэр сщIыну Iэмал сиIэтэкъым. Егъэлеяуэ дахэщ зыхужыпIэн хъыджэбз гуэрхэм гу ялъыстауэ схужыIэнукъым, ауэ сэ слъэгъуар мащIэт, Iуэху еплъыкIэ фIэпщыным нэсыртэкъым. Си эскизхэри сурэт нэгъэсауэ щыттэкъым, ящыгъхэр къэзгъэлъэгъуэн папщIэ сщIауэ жыпIэ хъунущ. Гъуэгу дыздытетым АрдиллеркIэ зэджэ щIыпIэ гуэрым дгъэзэжа щхьэкIэ, абы кхъухьхэр къыщытпэплъэртэкъым. Махуэ е махуитIкIэ зыдгъэгувэн хуей хъуащ абы къыхэкIыу. БыдапIэм и унафэщIыр Сыхъум-къалэ и дзэр и гъусэу къэкIуа Омар-пащэ деж кIуати, сэлам къыдихыну и щхьэгъусэр къыщIэкIащ. КъызэрыщIэкIымкIэ, абы дигъэшхын иIэтэкъым, хугу гъэварэ шхурэ фIэкIа. А тIури ди хъудырхэми дишхухэми ещхьтэкъыми, Олифантрэ сэрэ дымышхэххэныр нэхъ къэтщтащ, ауэ гъуэгуанэ кIыхь зэпызыча герцогымрэ адрейхэмрэ яшхащ, къазэремэщIэкIым щхьэкIэ къамыгъанэу. Гуащэр ди деж къыщIэкIакъым, псы къыщIихыуи зыдигъэтхьэщIакъым, хьэщIэм хуащI хабзэ гулъыти дигъэлъэгъуакъым, ауэ шым тетIысхьэри джэдрэ джэдыкIэрэ къилъыхъуэну хьэблэм хыхьащ. Гуэдзу мащIэт мы щIыпIэм щагъэкIыр, абы и пIэкIэ хугу къагъэсэбэпырт. Джэдрэ джэдыкIэрэ къызэригъуэту, абы псори ди деж къригъэхьати, Олифантрэ сэрэ занщIэу джэдыкIэхэр дэп пщтыркIэ дгъэжьащ. Зэгуэр махуэшхуэ гуэр ягъэлъапIэу срихьэлIат. Шэрджэсхэр блэкIырт. Шу бжьыфIэ гуэрым и гупэкIэ шым бзылъхугъэ къытест. Сэ ди гупым сатежри, сурэт зэрысщIыну Iэмэпсымэхэр къэзгъэхьэзырын щIэздзащ. Ауэ истхъэнуIауэ сыхунэсатэкъым, нэхъыжьыфэ зытет лIы гуэрым сщIэр къыгурымыIуэу е къыгурыIуарэ фIэигъуэджэу къыщыдбгъэдыхьам. Зэрымыарэзыр къигъэлъагъуэу, ар и шым елъэдэкъэуэри, еужьэрэкIыну псоми унафэ яхуищIащ. Сэ япэщIыкIэ зыри къызгурыIуакъым, ауэ, къызэрыщIэкIымкIэ, нысашэ екIуэкIыу арат. Шэрджэс хэкум иджыри нысэхэр ирахьэжьэу пасэрей хабзэхэр щызокIуэ, сэри си нэгум щIэкIыр а хабзэжьым и зы Iыхьэт: нысащIэр псэлъыхъум ирихьэжьауэ ихьырт. Шэрджэс хэкум и ищхъэрэкIэ пасэрей зэман дыдэм ягъэува кхъэлъахэхэм дыщрихьэлIащ зэгуэр. Ар мывэ Iуащхьэу зэтелъ бэнхэм ящыщт. Шэрджэс хэкум щыжаIэжхэм уедаIуэмэ, мы щIыпIэм зэгуэр иныжьхэмрэ испыхэмрэ щыпсэуащ. Иныжьхэм испыхэр а мывэ лъэхъуэщхэм щаIыгът, блыным хэщIыхьа гъуанэ цIыкIухэмкIэ шхын хуралъхьэурэ ягъашхэу. Плъагъухэмрэ абы ещхь нэгъуэщI щапхъэхэмрэ ятепщIыхьмэ, а гъуанэхэр дунейм ехыжахэм гъуэмылэ хуащIу щIэзылъхьэхэм ещхьщ. Си альбомхэм кхъэлъахэ зыбжанэм я сурэт итщ I855 гъэм жэпуэгъуэм и I8-м сщIауэ. Адыгэхэм Екъуб-Бэч зыфIаща Лонгворт, Белл къитIыжа кхъэлъахэ Iуащхьэм кхъуэщыныфэ къутахуэ зыбжанэ фIэкIа къыщимыгъуэтауэ жеIэ.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "simpson.txt" }
Хэт и жьауэ ущIэт? Уафэмрэ щIылъэмрэ зэпызыщIэ ткIуэпсхэр зэкIэлъыпIащIэурэ къыщыптеткIуэм деж, къэкIыгъэхэм уакъызэрыщхьэщыкIхэм язщ уи пIэ уикIыу унэм зэрызыщIэбдзэфыр. Удзхэм ещхьу, уэри дыгъэм упоплъэ, нэху пфIэфIщ, ауэ удзхэм уэ уэщхьу жьауэ зэIуахыфкъым. Сэри удзыфэ зызоплъыж мызыгъуэгукIэ, си жьауэр къутащи. Лэжьэгъуэ тхьэмахуэр еухри, жьауэщэху сыщыкIуэну бэзэр махуэри къоблагъэ. - Зэраххэм хуэдэу мы зы закъуэращ сиIэжыр, мыхэр «автоматщ», мохэр «автомат ныкъуэщ» жиIэурэ «хэди къыхыумых» макъкIэ и хьэпшыпхэм къысхутопсэлъыхь бэзэр дэхьэпIэм деж щыт тыкуэным щIэт бзылъхугъэр. «Сыт мыбы и лажьэр?» - упщIэм дзыхь хузощIри, «а зы закъуэм» соплъ, сифI зэрызэрахуэм шэч къытезмыхьэу. Жьауэм дэслъагъухэм ящыщу псом нэхъ сигу ирихьыр ар си хъуржыным къыдэмыщу зэрыдэхуэнумрэ зэрыпудымрэщ. Сигу ирихьрэ иримыхьрэ иджыри гурыIуэгъуэкъым, ауэ хэдапIэ симыIэу къыщIысфIэщIыр сщIэкъым. «Иджыпсту и тепхъуэр къыпхущIэсхынщ» жызыIэ тыкуэнтесыр зэрысщхьэщыкIыу, къыхуина жьауэ ныкъуэтIэпIыр къызэрыслъигуэри, «лажьэ зиIэ» апхуэдэ IэбэкIэм «и жьауэм сыщIэувэну» сызэрыхуэмейри къыспкърыхьэн щIедзэ. Абы хуэзэу, езыри «згъуэтыжкъым» зэрыжиIэм хуэдэурэ и хьэпшыпхэм хэщыпыхьурэ къыщIокIыж. «Сыхуей си гугъэкъым» жызоIэ, и жагъуэ сымыщIын щхьэкIэ, «автомат ныкъуэхэм» сахэмыдэу зэрымыхъунур къызгурыIуэжу. Ауэ сэ сыщыкIуэм къэкIуэжа бзылъхугъэм къызэрыспымыкIынуIар къызэрысIуплъэу къищIа къыщIэкIынт. «Зэм сыхуейщ, зэм сыхуейкъым жыбоIэ», - псалъэухари зыхуэгъэзар сэрат. Пэжщ, зэм сыхуейщ, зэм сыхуейкъым. Дапхуэдэу иджыри цIыхухэр зэрыщахуэр?! Е «сыхуейщ» жызоIэри, фыз гъур угъурсызыфэм и жьауэ сыщIоувэ, е «сыхуейкъым» жызоIэри уэшхым фIэкIа зыми си жагъуэ къимыщIу сопсэу. Ахъшэ IэщIэлъу уи жьауэ зымыщэхур адыгэбзэ зыщIэу уи тхыгъэ емыджэм ещхьщ. Сыт цIыхухэм адыгэбзэкIэ тхылъ къыщIамыщэхур? Еджэнукъыми. Сыт щIемыджэнур? ЯфIэгъэщIэгъуэнкъыми. Сыт щIафIэмыгъэщIэгъуэныр? Тыншу еджэфкъыми мыщIагъуэу къафIощI. Сэ, хэти хуэдэу, псэун сфIэфIщ. Сигу зыгъэзагъэ, гъащIэр дахэу, пэжу, захуэу къысфIэзыгъэщI тхыгъэ псори щIагъуэщ, сыт хуэдэбзэкIэ мытхами. Ауэ хъыбархэм я нэхъ щIагъуэми хьэрфхэм уамылъахъэу укъеджэфын хуейщ. Тыншу узэджэфращ гъэщIэгъуэну къыщIэкIынкIэи хъунур. «ГъэщIэгъуэну пIэрэ?» упщIэр къэмыув щIыкIэ уеджауэ къыщIокI апхуэдэ тхыгъэм. Уи уэршэрыкIэм ещхь-емыщхьми, зыхэпщIэм, плъагъум, бгъэунэхуам, уи гум къипсэлъыкI бзэм тохуэ. Тыкуэнтесым жьауэр къыщIызимыщэфар езым псэлъэкIэ зэримыщIэра, хьэмэ сэ жьауэ къыщIэзмыщэхуфар «зэм сыхуейщ, зэм сыхуейкъым» жысIэу жыпIэ хъунумрэ мыхъунумрэ зэрысхузэхэмыгъэкIра? Ар пэжмэ, птхы хъунумрэ мыхъунумри схузэхэгъэкIынукъым сэ. УпщIэр зэкIэ уэшх къэзымыутIыпщыныфэ пшэхэм къахузогъанэри, бэзэр кIуэцым сыдохьэ. СыщIэупщIэм зысплъыхьурэ, зэрымыщIэ дыдэкIэ жьауэ фIэкIа зыщIэмылъ, урыс нанэ жан цIыкIу гуэр зыщIэт щIыб тыкуэным и гупэ сыкъыщохутэ. Илъэс пщIейм нэблагъэнщ бзылъхугъэр, ауэ уэдщ, псынщIэщ, джинс гъуэншэдж лъэпахъуэм тыншу егъэIэбэ. Плъыжьу иIа и щхьэц кIэщIыр къэрабэм ещхьу къыщхьэщытщ. Си япэ зыгуэр зэритым щэхуэныр къалэн сщымыхъу щIыкIэ зысплъыхьыну амал къызет. ИтIанэ езым зыкъысхуегъазэ: - Сытыт хъыджэбзыр зыхуейр? - Жьауэ хуейт. - Сыт хуэдэ жьауэт зыхуейр? - ЦIыкIуу, пуду, хъуржыным дэхуэу. - Мис мыбыхэм яхэплъэ (и пащхьэм илъ жьауэ зэфэзэщхэр сегъэлъагъу) е мис мо IэпапIэ зыхэтхэм. - ТIэкIу дахэми хъунущ, - сыкъэгушхуэжауэ жызоIэ нанэ гуапэм, уеблэмэ езыр сигу зэрырихьым сигу иримыхь жьауэ къыхызигъэхынкIэ сегъэгузавэ. АфIэкIа хэмылъу, «НтIэ, уэ хьэпшыпхэр уохъумэ, сэ къыщIызох», - жеIэри и пэш цIыкIум щIолъэдэж. Езыр си пIэкIэ гуфIэ фIэкIа пщIэнтэкъым. Асыхьэтым, и гукъыдэжыр япэ иту, жьауипщI-пщыкIутху хуэдиз зэрылъ къутышхуэ зэтричагъащIэр си пащхьэм кърегъэувэри хэдэн щIыдодзэ. - Уигу ирихьу зыбжанэ къыхэхи, къызэIутхыурэ деплъынщ, - жи. - Уэ сыт хуэдэ уигу ирихьыр? – соупщI: Iуэхум хэзыщIыкIым дзыхь хуэпщIмэ, ущыуэ хабзэкъым. - Сэ нэм зыкъыщIэзыдзэхэращ нэхъ сфIэфIыр. Мис мы удз тхыпхъэр, псалъэм папщIэ, «хуэдэ щымыIэ» зыхужаIэхэм ящыщщ. Хьэмэ мыра уигу нэхъ дэхьэр? Хьэпшыпыр «ууей» хъун ипэ абы ухуэныкъуэн хуейщ. Сэ уэшхым зэрэ-тIорэ сиуфэнщIакIэти, къикIуэтыжыпIэ сиIэтэкъым. Ауэ къэбгъэщхьэпэ Iэмэпсымэр ууеипэ, уи Iэпкълъэпкъым и Iэхьэ щыхъур ар гузэрыдзэ гуэри къыкIэлъемыжьэу, зэрыжаIэххэу – хьэлэлу - къыщыпIэрыхьэм дежщ. - Сыту сыбдэтынша, - жызоIэ, тыкуэнтес нанэм сэлам щесхыжым. – НетIэ зыгуэр къызжьэхэлъэри сыщэхуэфатэкъым. - Сэ щIэныгъэ нэхъыщхьэу тIу сиIэщ, - къызет жэуап езыми. – Хэт сыт хуэдэ щIыкIэкIэ епсэлъэн хуейми сощIэ. - НтIэ, дэ IэщIагъэкIэ зэрыдгъэхьышхуэ щыIэкъым. Сэри псалъэращ си Iэмэпсымэр, - урысым адыгэбзэр къызэрыщыхъур сыт щыгъуэи сфIэгъэщIэгъуэнщи, амал къысIэрыхьар мыбдежми щызыIэщIэзгъэкIкъым. - Ужурналисту ара? - НтIэ, ауэ адыгэбзэкIэ. - АдыгэбзэкIи?! Ар сыту зэзэмызэ фIэкIа узримыхьэлIэ Iуэхугъуэ! ЖиIэм къригъэкIыр къызгурымыIуэ щIыкIэ, бзылъхугъэ Iущым зэхызигъэхыр си «адыгэбзэм» къыпэкIуэ гуапагъэ къудейуэ зэрыщымытыр гъэщIэгъуэн сщохъу. - Тхыбзэм зэрызимыужьыр IупщIу уолъагъу, - къыпещэ нанэм и фIэщу. - Псори псэлъэф щхьэкIэ, къеджэкIэрэ тхэкIэрэ зыщIэр зэрымащIэми гу лъыботэ. «Хъуам мис ар», - жызоIэ сигукIэ, сыкъэуIэбжьауэ. «Зыхуэмыфащэм уфIэлIыкIмэ, и ней къыпщохуэж» жыхуаIэм ещхьу, «фи урысыбзэр дэри дощIэ» жытIэу захуэдгъэщIэгъуэху, «я бзэр ящIэжкъым» къытхужаIэу къыщIокI. Сыт жыпIэжын абы и ужькIэ?! Адыгэ тыкуэнтесыр къыпщIэгубжьэу «урысым и жьауэм» щхьэхуимыту ущIигъэуварэ, «игъащIэкIи узыгуэтыну Урысейм» узэрыбзэмыIур къуиудэкIыжмэ, «гъуэлъи лIэ» жыхуиIэращ. Хьэуэ жыпIэрэ, «Адыгэ псалъэм» Iэ тедзэ, зыгуэр кIуэцIыплъхьэнщ.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "siseihar.txt" }
Бдзэжьеящэмрэ бдзэжьей цIыкIумрэ я таурыхъ ЗэзыдзэкIар Тхьэгъэзит Зуберщ (пычыгъуэ) Егъэзэж тенджыз Iуфэми, дадэ Елъагъу хуэмурэ хыр къэукъубейуэ, Дыщэ бдзэжьей цIыкIур къреджэ, Ар къосылIэ псы Iуфэм, къоупщIыр: «ЖыIэ, дадэ, сыт нэхъ ухуей уэ?» Ирет дадэ жэуап, щхьэщэ ищIу: «КъысхуэщI гущIэгъу уэ, бдзэжьей гуащэ, Сэ фызыжьыр къыстохъущIыхьыр, Гупсэхугъуэ лъэпъ къызитыжкъым: Iэмалыншэу хуейщ ар хьэкхъуафэ. Дыдейр кхъахэщ, гъущIащ, зэгуохупэ». Жэуап къетыр дыщэ бдзэжьейми: «Дадэ, кIуэж, уиIэу бжы хьэкхъуафэщIэ!» КъокIуэж дадэ нанэ и дежи, ХьэкхъуафэщIэ итщ фызыжь пащхьэм. Нэхъ Iеижу хъийм йокIри, нанэ: «Ахьмакъ дыдэ ухъуащ сэ слъагъур. КъелъэIухуэр хьэкхъуафи къокIуэжыр! А хьэкхъуафэм уэ куэд къыпхуищIэни! Гъэзэж псынщIэу, делэIуделафэ! Щхьэщэ хуэщIи, къеIых унэщIэ». Егъэзэж тенджыз Iуфэми, дадэ (Къэутхъуащ, зэрызохуэ толъкъунхэр). Дыщэ бдзэжьейм йоджэ аргуэру. КъесылIащ бдзэжьей цIыкIури, КъоупщIыр: «ЖыIэт, дадэ, сыт нэхъ ухуей уэ?» Ирет дади жэуап, щхьэщэ хуищIу: «КъысхуэщI гущIэгъу уэ, си бдзэжьей гуащэ, Нэхъ Iеижу нанэ икIащ хъийм, Гупсэхугъуэ лъэпкъ къызитыжкъым,- КъынтIэ-къынтIэу щIолъэIур унэщIэ». Жэуап къетыр дыщэ бдзэжьейми: «Тхьэр уи гъусэщ – кIуэж уигу хомыгъэщIу, Хъунщ зэрыхъуIам – унэщIэ фиIэнщ фэ». Егъэзэж и щIыунэми дадэ,- И лъэужьи щIыунэм щыIэжкъым: Итщ и пащхьэ зэщысыкIыжу УнэщIэ, чырбыш уэнжакъ тетыжу, ТхыпхъэщIыпхъэм щIегъанэ бжей куэбжэр. КъыIусщ нанэ щхьэгъубжэм. Къыхуолъыр Дадэм ар – Дрепхъей абы сабэр: «Делэ дыдэ ухъуащ, ахьмакъ дыдэ! КъысхуокIуэж къелъэIухуэри унэ. Гъэзэж псынщIэу, щхьэщIэ хуэщI бдзэжьей цIыкIум: Сыпсэун унэIуту сыхуейкъым, Гуащэм хуэдэу сыхуейщ сыпсэуну!» Егъэзэж тенджыз Iуфэми, дадэ (Хыр пIейтейщ, къоукъубей и толъкунхэр), Дыщэ бдзэжьей цIыкIур къреджэ, Ар къосылIэ псы Iуфэм, къоупщIыр: «ЖыIэт, дадэ, сыт нэхъ ухуей уэ?» «Къысхуэгъэгъу уэ, си бдзэжьей гуащэ, Гупсэхугъуэ лъэпкъ къызитыжкъым, Делэ дыдэ хъупащ си фызыжьри, УнэIуту хуеижкъым псэуну. Хуейуэ жеIэ псэуну ар гуащэу». Дыщэ бдзэжьейм къетыр жэуапу: «Тхьэр уи гъусэщ, кIуэж уигу хомыгъэщIу!» КъокIуэж дадэ фызыжьым и дежи, Сыт къалъагъур и нэм? Тетщ бжэщхьэIу лъагэм нанэ, зэщосыкIыр, Гуащэ фащэм ищIауэ нэхъ уардэ. Дыщэ Iэлъын цIыкIухэр фIэлъщ Iэпхъуамбэм. Лъыгъщ и лъакъуэм вакъэ плъыжь дахэ. ЛIыщIэу, унэIуту къащхьэщытхэм ЯхуоткIий ар – я щхьэцыкIэм къоIэ. Дадэ, абы щхьэщэ хуищIу, жеIэ: «Сэлам гуапэ узох, гуащэ лъапIэ! Хъуагъэнщ иджы уи псэр арэзы уэ!» Ауэ нанэр къокIий, ещI унафэ: «КIуэи шэщри, гуэщри къэтхъу уэ къабзэу!» ДокIыр зы тхьэмахуи, тхьэмахуитIи. Нэхъ делэжи мэхъу фыз ахьмакъыр, Ехур бдзэжьейм деж аргуэру: «КIуэи щхьэщэ хуэщI уэ бдзэжьей цIыкIум,- Гуащэу сыщытыну сыхуеижкъым, Сыхуейщ пащтыхь-гуащэ сэ сыхъуну!» Къэшынауэ ещIыр щхьэщэ дади: «Мыр сыт, уикIыпаи уи мэсхьэбым. ЗыпIыгъыфкъым уэ е упсэлъэфкъым. Укъэнэнщ уэ жылэм я ауану!» Дадэм и напэр къыхурехулэкIыр: «Мыжьыкъ, куэдрэ укъызэдэуэну? Плъагъукъэ уэ, сэ срагуащэщ псоми! ДахэкIэ тенджызым умыкIуэнум, ПщафэкIэ сэ уезгъэлъэфынщ мыдэ!» Дадэ макIуэ тенджызым аргуэруи, (Тенджыз щхъуантIэр щылъщ зэщIэуфIыцIауэ). Дыщэ бдзэжьейм, аргуэрыжьти, къоджэ: «Иджы сыт нэхъ ухуей уэ, дадэ?» Щхьэщэ ищIу ет жэуапыр дадэ: «Дыщэ бдзэжьей цIыкIу, гущIэгъу къысхуэщI уэ, Iэл къэхъуащ аргуэру си фызыжьыр: Идэркъым щытыну гуащэу, Хуейщ къэрал псом и тепщэну!» Дыщэ бдзэжьей цIыкIум жэуап къетыр: «ХомыгъэщI уигу, кIуэж уэ, Тхьэр уи гъусэщ! Ирехъу ар зы къэралыгъуэ тепщэ». Пащтыхьыпхъу лIамрэ пелуаниблымрэ (пычыгъуэ) ЗэзыдзэкIар Къагъырмэс Борисщ Пащтыхь ежьэм къанэ гуащэм Кърехыж сэлам гуапащэу. И лIым пэплъэу гуащэр щысщ, Дэплъу ар щхьэгъубжэм Iусщ. Жэщи махуи и лIым поплъэ, Гъуэгухэр нэкIэрэ изащ, Плъэурэ, и нэхэр узащ. ЛIыр къэсыжкъым, плъэми гуащэр, Гъуэгум тетыр борэн жьапщэрщ, Уэсыр губгъуэм щотIысэх, ЩIыр хужьыбзэ мэхъур щIэх. БлокI мазибгъу, щхьэгъубжэм Iуту Фызыр, гъуэгум еплъ зэпыту. Къос и пIалъэри, жэщ хъум – Тхьэм къретыр гуащэм пхъу. Апхуэдизу зыпэплъауэ, ЩIыпIэ жыжьэхэм щыIауэ, ИлI пащтыхьыр къопсыхыж, Адэ хъуауэ ар къосыж. Гуащэр и лIым мис Iуоплъэжыр, Хьэлъэ дыдэу мэбэуэжыр, И гуфIэгъуэр хуэмыхьау, МалIэ ар, шэджагъуэ хъуау. Хуэщыгъуащ абы пащтыхьыр, ЦIыхухэм ар яфIэгуэныхьу. ПщIыхь купщIэншэу гъэ блэкIащ, НэгъуэщI фызи къишэжащ. Пэж жыпIэнум, къупщхьэ гуащэу, Ар цIыхубз зэкIужт, дахащэт. Лъагэт, пкъыфIэт икIи хужьт, АкъылыфIэт – ари IупщIт. Ауэ ар щIыкIэншэт, пхъашэт. Нэхъ дахэжхэм хуэдзэлашхэт. Абы иIэт гъуджэ гуэр Хуиту псалъэу, ищIэу бзэр. ЗэпсэлъылIэр фызыр фIыкIэ, Зыхуэгуапэр мис а гъуджэрт. Зэштегъэууэ а зырт иIэр. Зигъэдахэурэ жриIэрт: «Гъуджэ цIыкIуу сэ си нэху, Пэжыр уэ умыущэху: Сэркъэ псоми я нэхъ дахэр, Я нэхъ гуакIуэу нэм къыхахыр?» Гъуджэм псынщIэу жэуап къет: «Пхуэдэу дахэ дунейм тет?! Уэрщ, ди гуащэ, псом нэхъ дахэр, Я нэхъ гуакIуэу нэм къыхахыр». Фызым щIедзэ дыхьэшхын, И дамащхьэхэр хишын, Егъэджэгур и нэ цIыкIухэр, Трегъауэ Iэпэ цIыкIухэр, Гъуджэм иплъэу мэджэрэз, ЩымыIэж зыгъэгулэз. А зэманым, зым къимыщIэу, Пащтыхьыпхъур къэхъурт псынщIэу. Удз гъэгъауэ зызэIуихт, Дыгъэ нур и нэгу кърихт. НэкIу хужьыбзэт, набдзэ фIыцIэу, Хьэли иIэт абы фIыщэу. Лъохъу щауэфIи пщащэм, уей – Пащтыхьыкъуэу Елисей. ЛIыкIуэр къос, йопсалъэ адэм. Бейщи, мылъкум пхъур хегъадэ, Къалэу тыгъэ блы хуищIынщ, НэгъуэщI Iэджи дыщIигъунщ. Хъыджэбз хасэм кIуэну гуащэр Зыкърихыу мэпэщащэ. Ар и гъуджэм бгъэдыхьащ, Мыр жриIэурэ иплъащ: «Сэркъэ псоми я нэхъ дахэр, Я нэхъ гуакIуэу нэм къыхахыр?» И жэуапыр гъуджэм сыт? «Умыдахэу жысIэм - пцIыт. Ауэ псоми я нэхъ дахэу Пащтыхьыпхъурщ нэм къыхахыр». Къэгубжьауэ зефыщIыж, Бгъэдолъадэ, IэгукIэ йоуэ, Унэ лъэгум топкIэ, тоуэ, «Уэри уэ, абдж укъуея! ПцIыщ къызжепIэр! Ухуеят Ар дахагъкIэ къыспэхъуну? Сэ-тIэ хуэфI абы сыхъуни! Хэт апхуэдэ зылъэгъуар?! ГурыIуэгъуэщ хужь щIэхъуар: И анэжьу ныбэ иным Илъэгъуар уэс хужьырщ и нэм! Ауэ жыIэт: сыткIи ар Сэр нэхъ дахэ сыт щIэхъуар? УмыбзыщIыт: сэр нэхъ дахэ Щыбгъуэтынкъым мы ди лъахэ. Сэ къысхуэдэ дунейм тет, ЖыIэт!» Гъуджэм жэуап къет: «Пащтыхьыпхъур нэхъ гуакIуэжкъэ, Нэхъ хужьыжкъэ, нэхъ дахэжкъэ!» Гуащэм сыт ищIэнт? Губжьащ. И гур фыгъуэм илыпщIащ.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "skazkipushkin.txt" }
Хъан Къаплъэн-Джэрий Езанэм Шэрджэс хэкум къыщемыхъулIа и зекIуэмрэ езыр зэрытрагъэкIамрэ Смирнов Владимир (I846 - I922) Бытырбыху дэт университетым и КъуэкIыпIэ факультетыр I870 гъэм «хьэрыпыбзэмкIэ, персыбзэмкIэ, тыркубзэмкIэ кандидат» IэщIагъэр иIэу къэзыуха урыс тхыдэджщ, бзэ щIэныгъэлIщ. Нобэ зи пычыгъуэ къэтхь и доктор диссертацэр I887 гъэм пхигъэкIащ абы. Кърым хъаныгъуэр зэрызэфIэува щIыкIэм, абырэ Урысеймрэ я зэхуаку дэлъа зэхущытыкIэм я гугъу ищIкIэрэ, Смирновыр адыгэ тхыдэм «Къэнжал зауэ» фIэщыгъэмкIэ къыхэна зауэзэрылIым топсэлъыхь. УрысыбзэкIэ еджэну гукъыдэж зиIэхэм тхыгъэр псалъащхьэм и оригиналымкIэ («Неудачный поход Каплан-Гирей хана I в Черкесию и свержение его») къагъуэтыфынущ. Смирновым и лэжьыгъэр, езым зэрыжиIэмкIэ, кърым хъаныгъуэм теухуауэ япэу урысыбзэкIэ дунейм къытехьа тхыдэ лэжьыгъэт. Еропей тхыдэджхэм я тхылъхэм нэмыщI, щIэныгъэлIым кърым-тэтэрхэм я пасэрей Iэрытххэри иджащ. Гулъытэ зыхуэфащэ лэжьыгъэхэм ящыщу Смирновым къреIуэ I832 гъэм урысыбзэкIэ зэрадзэкIауэ щыта Мухьэмэд Риза Сэид и тхылъ цIэрыIуэу «Ас-себ-ус-сеяр фи ахбари мулюки татар» («Тэтэр тепщэхэм ятеухуа хъыбархэм щыщ планетибл») тхылъыр. Къэнжал зауэм и хъыбар къыхощ Хьэлим Джэрий жыхуаIэ тхакIуэм и «Гюльбуни-ханан» («Хъанхэм я гуащэнапщIэ гъэгъа») тхылъми. Зи цIэр нэхъ ди нэIуасэхэм ящыщщ сулътIанхэм ябгъэдэтыпэу къулыкъу зыхьа Фундуклулу-тхакIуэри: Iэрытх къэс напэкIуэцI 300-м нэсу абы къызэринэкIа тхылъиплIым язым щытопсэлъыхь Къэнжал зауэм. Къаплъэн-Джэрий тепщэгъуэр къыIэрыхьа нэужь, занщIэу ихъуэжащ къыкъуэт унафэщIхэр. Псалъэм папщIэ: хъаным и къуэш нэхъыщIэ Менлы-Джэрий калга къулыкъур иритащ; Мэкъсуд-Джэрий нуреддин ищIащ; атабек Мердан-Али – уэчыл – хъаныгъуэм и япэ уэзир - хъуащ. Кърым уэлийхэм ящыщу Ибрэхьим-ефэнды-заде Мухьэммэд-ефэнды къады нэхъыщхьэу игъэуващ, Муртазэ-щихъыр муфтий хъуащ. А зэман дыдэм ирихьэлIэу, хъаныщIэм тахътэм къытекIа хъан Къазы-Джэрий уэзирым Балаклавэ иригъэшэн щхьэкIэ, кхъухьым иригъэтIысхьэри иутIыпщат, ауэ жьышхуэм Бургос щитIысыкIыну Iэмал къыщримытым, ар Румелием ягъэкIуэну лъэIуащ. Абы щыIэу, Ямболу пэгъунэгъуу Къарын-абад щIыпIэм емынэ уз къыщыхэхьэри, дунейм ехыжащ. ХъаныщIэ Къаплъэн-Джэрий Езанэм (I707 - I709 гъэхэм тетащ) ипэ щIыкIэ Тырку къэралыгъуэм дзыхь къыхуищI хуэдэурэ щIидзат и тепщэгъуэр. СулътIаным Еникъалэ дэт быдапIэхэр зыхуей хуэза-хуэмызам зыщигъэгъуэзэну унафэ къыхуищIати, муслъымэн махуэгъэпсымкIэ III9 гъэм (I708-м и шыщхьэуIум) хъаныр абы еплъыну ежьат. Гъуэгу здытетым ар Джан-Тимур ирихьэлIэри, лъэныкъуитIыр зэщыIеящ икIи я кум гужьгъэжь къыдэхъуауэ зэбгъэдэкIыжахэщ. Хуэм-хуэмурэ хъаныщIэр адрей мурзэхэми ящыхьэурэ Iуэхур лъыгъажэм хуэкIуэным тIэкIущ иIэжар. Езы хъаным къызэрыфIэщIымкIэ, мурзэхэр апхуэдэу къыщIыхуэбзаджэр зыгуэрым къызэрызэщIигъэстым къыхэкIырт. Ар и гурыщхъуэу, Къаплъэн-Джэрий и нэIэ тримыгъэкIыу кIэлъыплъырт щIыналъэм ирагъэкIа хъан Долэт-Джэрий. Ар Родос хытIыгум щыIэти, Румелием ягъэIэпхъуэну сулътIаным елъэIуат, модрейри арэзы хъуат. Къаплъэн-Джэрий ар зэрызэхихыу сулътIаным хъыбар хуригъэхьащ Кърымым къыщыхъу Iэуэлъауэ псори Долэт-Джэрий зэбгригъэх тхыгъэхэмрэ псалъэхэмрэ къагъэхъей хуэдэу, абы къыхэкIыу ар Румелием бгъакIуэмэ мамыр гъащIэм гугъэр хэхыжын хуейуэ. Къаплъэн-Джэрий и еплъыкIэр пхыкIащ. Ауэ сыт Къаплъэн-Джэрий зытекIуэдэжар жыпIэмэ, ар адыгэхэм я деж къыщемыхъулIа и зекIуэращ. Шэхьбаз-Джэрий зэраукIам щхьэкIэ илъ ищIэж хуэдэу фэ зытригъэуа щхьэкIэ, абы, ипэжыпIэкIэ, хэхъуэ щыщымыIэ зэманым нэхъ жыжьэ IуIэпхъукIа къэбэрдейхэм къапыкIыну мылъкум зыхимыгъэкIыжын щхьэкIэт а зекIуэр щIиублар. ЯпэщIыкIэ, иджыри I707 гъэм и гъатхэм, абы и япэ къуэдзэ Менлы-Джэрий адыгэхэм я деж еутIыпщ ипэм щыпсэуа щIыпIэм Iэпхъуэжыну къытригъэхьэн мурадкIэ. Хъан лIыкIуэр щIымахуэ хъуху къотри, щIэкIуам мыхьэнэ имыIауэ къегъэзэж. Апхуэдэу щыхъум, езы Къаплъэн-Джэрий къыкIэлъыкIуэ гъатхэм ежьэну треухуэ. Ар зи мурад хъаным емыжьэну чэнджэщ къезыт и блыгущIэтхэр зэхуешэс: тэтэрхэр мафIэрыуэ Iэщэхэм зэрыхуэмыIэзэр, я гъуэмылэр зэрымащIэр, армырами тхьэмыщкIагъэм гугъу иригъэхь цIыхубэм зекIуэ зэрежьэну мылъкур къазэрытехьэлъэнур къыжезыIэ кърым мурзэхэр. Псом хуэмыдэу, а хъаным къыхилъхьа зауэ жэрдэмым пэувахэт Ширин лъэпкъым и лIыкIуэ Сары-Къадыр-Шахъбэчрэ Эльхадж-Джан-Тимур мурзэмрэ. Ауэ хъаныр абыхэм жаIэм едэIуакъым, уеблэмэ Эльхадж-Джан-Тимуррэ абы и ныбжьэгъухэмрэ иукIыну зигъэхьэзырауэ ягъэхъыбарырт. Ширин эмирхэм зыкъаIэтыным зымащIэт къэнэжар, лъэныкъуитIыр зи гугъу тщIа Къадыр-Шахъбэчрэ Гулэдж-Абдул-Ефэндырэ зэрамыгъэкIужатэмэ. ИтIани, Къаплъэн-Джэрий унагъуэ къэс зы нэрыбгэ къабгъэдэкIын хуейуэ игъэувщ, къалэдэсхэм «капы-кулу» зыфIаща ахъшапщIэ хригъалъхьэри (абыхэм «анищым я бын» зыфIаща нэгъуей лъэпкъхэри хригъэубыдат) дзэ абрагъуэ зэригъэпэщащ. Уэсмэн тепщэгъуэр, хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, къызэрыIэтынрэ Iэуэлъэуэнрэ фIэкIа Iуэху зимыIэ кърымхэр Iуэхуншэ имыщIын щхьэкIэ, зекIуэм арэзы техъуам къыщымынэу, Кафэ и дзэзешэ Муртазэ-пэщэм къыкъуэтхэр и гъусэу хъаным и ежьэным хыхьэну унафэ хуищIащ. Мурад нэхъыщхьэ хуэдэу а зекIуэм иIар къэбэрдей адыгэхэр здэIэпхъуа щIыпIэщIэм («Тхыдэ кIэщIым» зэритхымкIэ, ар Неджан щIыпIэрат ) кърахужу япэм щыпсэуа Бещто бгы лъапэм деж ягъэтIысыжынырт. Ауэ Iуэхум и кIэр хьэдагъэ хъуащ. ЯпэщIыкIэ, къэбэрдеипщ Кургъуокъуэ-бэч, хъаным деж лIыкIуэ игъэкIуащ, пщылI нэхъыбэ яIихыу я пIэ иригъэсыну лъаIуэу. Iуэхур мамыру зэфIэзыгъэкIын а жэрдэмыр хъаным щимыдэм, адыгэ тхьэмыщкIэхэр бзаджагъэм хуекIуэщ, хъаныдзэм зыщиубгъуа хэщIапIэм жэщу къытеуэри щIэмыпхъуэжыфахэр фIагъэжащ. Ар къызэрыхъуа дыдэр тырку тхыдэдж Рэшид-ефэндым итхыжащ, ауэ къэхъуар къызэрыбгурыIуэн хуей щIыкIэр нэхъ IупщIу къэзыIуэтэжар Фундуклулущ. Иужьрейм Къаплъэн-Джэрий трагъэкIыу Долэт-Джэрий етIуанэу зэрытрагъэувэжа щIыкIэр мыпхуэдэу къегъэлъэгъуэж: «Кърым хъанхэр яхъуэжыху, адыгэпщхэм пщылI 300 хъаныщIэм тыгъэ хуащI я хабзэт. Къаплъэн-Джэрий а бжыгъэмкIэ арэзы мыхъуу, езым къыхилъхьам тригъэчыныхьырт: «ПщылI 3000 нэхърэ нэхъ мащIэ къеIысхынукъым». Ар зэхэзыхыжа адыгэпщхэр зэчэнджэщыжри, псалъэ кърагъэхьащ: «Апхуэдиз пщылI бжыгъэ етт ди хабзэу щытами, ипэ зэманым хъанхэр илъэс пщыкIутхум – илъэс тIощIым зэ яхъуэжу арат. Иджы илъэс къэс хъаныщIэ трагъэувэу къаублащ. Дэнэ дэ абыхэм еттын апхуэдиз сабий къыздитхынур? Псом хуэмыдэу иджы! Адыгэ лъэпкъым и нэхъыбэр муслъымэн диным и жьауэ махуэм щIэувакIэщ. Зы къуажи, зы хьэбли къэмынэу мэжджытышхуэхэмрэ хьэблэ мэжджытхэмрэ дэтщ, дин еджапIэхэр щолажьэ, нэмэз уахътитхур нэгъэсауэ щащI, ныбжьыщIэхэр щрагъаджэ. Шэрихьэтым къабыл ищIрэ муслъымэн диным тет лъэпкъыр джаур ныкъуэкъуэххэм яхуэбгъадэу, гъэру бубыду уи пащхьэ къребгъэшэну? Алыхьталэр апхуэдэ залымыгъэм арэзы техъуэну? Тхьэм щхьэкIэ, къытхуэвгъэгъу, ауэ аращ ди Iуэхур зыIутыр». Апхуэдэу ткIийт жэуап ирагъэхьыжар. Арати, Къаплъэн-Джэрий тэтэрыдзэр зэхуишэсри, Керчь къызэпрыкIащ. Темэн нэс къакIуэу адэкIэ Къэбэрдейм щиунэтIым, адыгэпщхэм Iуэхум хьилагъэ халъхьэри, хъыбарегъащIэ къагъэкIуащ: «ЖыхуэфIа пщылI бжыгъэр фэттынщ, ауэ зэкIэ тэтэрхэр къэвмыгъакIуэу, махуищ къудей пIалъэу къытхуэвгъэув». Хъан пагэр арэзы хъущ, псыхъуэ гуэрым щепсыхри, гъуни нэзи зимыIэ ефэ-ешхэмрэ тегъэупIэхэмрэ зритащ. Адыгэхэр лъэныкъуэ зыбжанэкIэ жэщым къатеуэщ, сэшхуэ къихакIэ къахэлъадэри, тэтэрхэр игъащIэм зэрызэтрамыукIа укIыкIэкIэ зэтраукIэри загъэбзэхыжащ. Кърымым пщIэрэ щхьэрэ нэхъ зиIэу иIа лIыщхьэхэр хэкIуэдат а зауэм. Хъан пагэм Кърымым зыкъыщигъэлъэгъуэн укIытэри, и блыгущIэтхэм ящыщ зыбжанэ и гъусэу, и псэр нэгъуейхэм я деж ихьащ. Кърымхэми къэхъуар Тыркум лъагъэIэсыжри хъаныщIэ къыхуагъэкIуэну лъэIуахэщ. Зэхуэсым унафэ къыщащтащ хъаныгъуэр нэхъ зылъысыр Хиос хытIыгум гъэру щаIыгъ япэрей хъан Долэт-Джэрийуэ. СулътIаным и унафэр зыIэщIэлъ шу пашэ Ференг-Уэсмэн-пэщэ ар къишэжыну ягъэкIуащ. Рэмэзан мазэм и I7-м Долэт-Джэрий Истамбыл къызэрыса хъыбарыр щызэбгрыкIа нэужь, уэзир нэхъыщхьэ Мухьсин-заде Абдул и дзэпщхэр абы Чекмедже щIыпIэм щыпежьэри, и макъамэгъэIухэр дэщIыгъуу, Iэтауэ адэкIэ яшащ. Хъан Долэт-Джэрий ишхынрэ щыпсэунрэ хуагъэхьэзырри Каба-Сакал мэджытым пэгъунэгъуу ягъэтIысат. А мазэ дыдэм и 23-м, махуэр махуэкуу, уэзир нэхъыщхьэм ар сулътIаным и пащхьэм иришащ. ПщIэ къызэрыхуищIым и нэщэнэу, сулътIанри лъэбакъуэ зыбжанэкIэ къыпежьэри езым и пащхьэм щаубгъуа алэрыбгъум тетIысхьэну хуит къищIащ. Псэлъэгъуэ щихуэм, Долэт-Джэрий хъаныгъуэр зыщхьэщихыну хуежьат. «Сэ уэ сыуипщылIу аращ, къуаншагъэшхуэ збгъэдэлъу къулыкъум сытрагъэкIауэ. Хъаныгъуэ зыхуэфащэ куэд щыIэщ. Абыхэм яз къащтэ. Дэтхэнэ зыми сэ нэхърэ нэхъыфIу хуэгъэзэщIэнущ уи унафэр», - жиIэрт абы. СулътIаным ар идакъым: «Сэ сыщIэупщIащ уэ узэрагъэкъуаншэм икIи зэхэзгъэкIащ къуаншагъэ зи цIэ зэрыббгъэдэмылъыр. Уэращ хъаныгъуэр зыхуэфащэри, уи Iуэхутхьэбзэм сыщогугъ». ИтIанэ, зэрыхабзэу, Долэт-Джэрий абэ гъэщIэрэщIа щрырагъэтIагъэщ, Iэпслъэпс псомкIи зэгъэпэща шы къарэ тыгъэ къыхуащIри, пщIэ пылъу и унэщIэм яшащ». Рэшид-ефэнды а хъыбархэм мыри къыдыщIегъуж. Булавин и унафэм щIэту зыкъэзыIэта къэзакъхэр зэрагъэбэяужар щапхъэу къихь пэтрэ, абы жеIэ ямыукIыу къэна цIыху 8000-р Псыжь щIыб щыпсэу нэгъуейхэм я деж зэрыщIэпхъуэжар. Ахэр Темрыкъуэ къалэм сыхьэтих гъуэгукIэ пэIэщIэу, Хан-Тепе зи фIэщыгъэ щIыпIэм деж щигъэтIысауэ щытащ хъан Къаплъэн-Джэрий. Рэшид-ефэнды а хъыбарым зригъэубгъуркъым. Ауэ Риза Сулеймэн-ефэнды а Iуэхугъуэр Къаплъэн-Джэрий щIытрагъэкIа щхьэусыгъуэхэм язу къехь, хъаныр мамырыгъэ зэгурыIуэныгъэм зэребэкъуам и щыхьэту. Ауэ хъаным деж хэщIапIэ къыщызыгъуэта «Игнат-къэзакъ къуейщIейхэм» я бжыгъэр Рэшид-ефэнды 8000 хъууэ жиIэ щхьэкIэ, мыдрейм ахэр зы мин е минитI къудей фIэкIа мыхъуу щытауэ жеIэ. Фундуклулу Къаплъэн-Джэрий зэрытрагъэкIар къыщиIуэтэжкIэ, Тыркур и гъунэгъу къэралхэм, псом хуэмыдэу Урысейм, зэрахущытар IупщI мэхъу. Къыщхьэщыжын зимыIэ, Урысейм и Iэгъуэблагъэм ит лъэпкъхэм я деж щигъуэт хэхъуапIэр щимыгъуэтыжым, кърым хъаным мылъку хэхыпIэу езым и жьауэм щIэт адыгэхэр къигъэсэбэпыну мурад ищIауэ арат. А Iуэхуми щыхилъафэм, абы къэзакъ зыкъэзыIэтахэр зришэлIащ, адыгэхэм ятеуэн хуей хъумэ ящыгугъын хуэдэу, къыщыщIа напэтехыр и гум техуэнутэкъыми. Тахътэм къытрагъэкIа Къаплъэн-Джэрийрэ абы и япэ къуэдзэу щыта Менлы-Джэрийрэ Кърымым кърагъэкIа хъумакIуэ тетым ишэжащ. Гъуэгу тету ахэр Измаил деж щыхуэзат хъан Долэт-Джэрий, ауэ лъэныкъуитIым, я зэхуакум гужьгъэжь дэлъ щхьэкIэ къамыгъанэу, хабзэм тету сэлам зэрахри зэблэкIахэщ. Къаплъэн-Джэрий Фундуклу щIыпIэм ягъэIэпхъуащ, Менлы-Джэрий Къады къуажэм дагъэтIысхьащ. Абы иужькIэ ахэр хъан трагъэкIахэр зраубыдэ хабзэ Родос хытIыгум ирагъэшэжа къыщIэкIынщ. «Кърым хъаныгъуэр XVIII лIэщIыгъуэм и пэм Уэсмэн къэралыгъуэм и унафэм зэрыщIэтар» тхылъым щыщщ. (I887 гъэ)
{ "source": "adygabza.ru", "id": "smirnovladimir.txt" }
Къуэдзокъуэ Лэкъумэн 1837 гъэм Московскэ университетым и тхылъ тедзапIэм урысыбзэкIэ къыщыдэкIащ тхылъ пIащIэ цIыкIу, и жинтым «Шэрджэс ныбжьыщIэм и усэхэр» жиIэу тету. Илъэсищэрэ плIыщIрэ дэкIа нэужь, а тхылъыр архив хъумапIэ гуэрым къыщигъуэтыжащ тхыдэдж цIэрыIуэ, щIэныгъэхэм я доктор Къумыкъу Тыгъуэн. Къуэдзокъуэ Лэкъумэн 1818 гъэм Абыкъухьэблэ адыгэ къуажэм къыщалъхуащ. Абы и адэ Мыхьэмэт уэркъ лъэпкът, лIы губзыгъэу къыщIэкIынти, щIэныгъэм хуэплъэрт. 1830 гъэм ар Бытырбыху макIуэ, Кавказ бгырысхэм я эскадрон ныкъуэкIэ зэджэм къулыкъу щищIэну. Къуэдзокъуэ Мыхьэмэт и узыншагъэм къызэремызэгъым къыхэкIыу 1848 гъэм къулыкъур къегъанэ, куэд дэмыкIыуи, 1849 гъэм жэпуэгъуэм и 12-м, ар дунейм йохыж. Мыхьэмэт къыщIэнауэ щытащ и щхьэгъусэ ХьэIишэтрэ бынихрэ. Нэхъыжь дыдэр Лэкъумэнт. Лэкъумэн илъэсихым иту урыс усакIуэ Хомяков Алексей и анэр Псыхуабэ къыщыхуозэри, абы къан ещI, Мэзкуу здешэ, 1830 гъэм чыристан диным йохьэри Дмитрий цIэр къыфIащ. Унагъуэ зыхыхьар щIалэм икъукIэ къыхуогумащIэ, быным ещхьу къалъагъу, а зэманым зэрыхабзэти, инджылыз гъэсакIуэ гуэри къыхуащтэ. Бынунэр СарэкIэ зэджэу щыта а цIыхубзым теухуауэ Къуэдзокъуэм итхыжыгъащ: «Абы гуапагъэрэ гумащIагъэу сэ къысхуиIар къызыбгъэдэкIын щыIэкъым, зи бын хуэгумыгъуэ анэм фIэкIа». ПIалъэр къыщысым, щIалэр ират а гъэхэм цIэрыIуэу щыта еджапIэ гуэрым. Мыбы Лэкъумэн щедж урысыбзэр, латиныр, алыджыбзэр, франджыбзэр, нэмыцэбзэр, инджылызыбзэр, дин Iуэхур, физикэр, логикэр, риторикэр, географиер, статистикэр, тхыдэр, математикэр, щыгъуазэ зыхуещI сурэт щIынымрэ музыкэмрэ. ЕджапIэр 1834 гъэм зэпэщу къиуха нэужь, ар Мэзкуу университетым щIотIысхьэри, еджакIуэ нэхъыфI дыдэхэм ящыщ мэхъу, урыс, хамэ къэрал литературэхэр куууэ зрегъащIэ, щIэныгъэшхуэ зригъуэтыным йолIалIэ. Абы университетыр къеух «студент нэгъэса» цIэр иIэу, щалъхуа хэкум къегъэзэж икIи, зэрыхуагъэфащэмкIэ, Кавказым щыхуозэ М. Ю. Лермонтовым. Бытырбыху щыдэса лъэхъэнэм Къуэдзокъуэр литературэм пыщIа цIыхухэм гъунэгъу яхуохъури, и дуней еплъыкIэри нэхъ зэроубыд. Абы теухуауэ 1911 гъэм М. Абаевым итхыгъащ: Лэкъумэн «и щIалэгъуэр лIэщIыгъуэ блэкIам и 40 гъэхэм литературэм псэ хэзылъхьэ цIыхухэм япыщIауэ иригъэкIуэкIащ, щIэныгъэшхуи иIащ, и гупсысэхэри демократием хуэунэтIауэ щытагъэнущ». А зэманым зи татуугъуэу щыта цIыху пэрытхэр къэплъытэмэ, Къуэдзокъуэр щыгъуазэ мыхъуу къэнакъым Белинский Виссарион, Лермонтов Михаил хуэдэхэм я тхыгъэхэм, 30-40 гъэхэм екIуэкIа бэнэныгъэм. А псом, Андроников Ираклий зэрыжиIэмкIэ, хэхъукIын хуеящ акъыл ехьэжьарэ щIэныгъэшхуэрэ зиIэ цIыху. Пэж дыдэуи, Лермонтовым и цIыхугъэу щыта щIалэм егъэлеяуэ зиужьырт. Ар хуэшэрыуэт Урысеймрэ къухьэпIэ къэралхэмрэ я литературэм, урысыбзэм апхуэдизкIэ хуэIэзэти, франджыбзэкIэ тха лэжьыгъэхэр щыстудентами зэридзэкIыфырт <…> А лъэхъэнэм (Хэкум къэкIуэжа нэужь – Ч. М.) Къэбэрдейм Iуэхугъуэшхуэ гуэри щекIуэкIакъым Къуэдзокъуэр хэмылIыфIыхьу. Пащтыхь унафэкIэ щIыр щIэрыщIэу щагуэшыжым щыгъуэ уэркъыгъэр зыбгъэдэлъхэм дестынэ 300-м къыщыщIэдзауэ 1500-м нэс хухахырти, Къуэдзокъуэм ар игу темыхуэу зыкъиIэтыгъащ. Ар япэщIэувэфырт пащтыхь дзэпщхэм, Кавказым щрагъэкIуэкI политикэр залымыгъэу къилъытэу, Кавказым и лъэпкъхэр Тыркум зэрагъэIэпхъуэр имыдэу. «Кавказ лъэпкъхэм я тхьэмыщкIагъэщ а Iуэхур, щыуагъэкIэ къагъэпцIа цIыхухэм ар я хьэдрыхэщ», – итхыгъащ Къуэдзокъуэм. БлэкIа лIэщIыгъуэм и 30-60 гъэхэм Къэбэрдейм щIэныгъэр тепщэ щыщIын лэжьыгъэм бжьыпэр щызыIыгъар Нэгумэ Шорэрэ ХьэтIохъущокъуэ Къазийрэщ. Къуэдзокъуэр ягуохьэ абыхэм. Ар, лъэкI псори къигъэсэбэпурэ, куэдкIэ дамэгъу хуэхъуащ ХьэтIохъущокъуэм: дзэм къулыкъу щищIэну ираджэ хъумэ, пIалъэкIэ къригъэлырт, и тхыгъэхэр дунейм къытехьэнымкIэ дэIэпыкъурт. Къуэдзокъуэмрэ ХьэтIохъущокъуэмрэ куэдрэ я чэнджэщ зэрахьэлIэрт хэкум и псэукIэмрэ и культурэмрэ егъэфIэкIуэным пыщIа лэжьыгъэхэмкIэ. 1866 гъэм Iуэху къаIэтауэ щытащ адыгэбзэрэ тхэкIэмрэ къуажэхэм щезыгъэджыфын цIыху щагъэхьэзыр школ къызэIуахыну. А Iуэхум хэлIыфIыхьащ Къуэдзокъуэр. Ар унафэщIхэм йолъэIури ХьэтIохъущокъуэр Налшык къегъанэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ «а IуэхуитIыр – школ къызэIухынымрэ дзэм къулыкъу щыщIэнымрэ – зэдэхьыгъуейт, а тIум нэхъапэ игъэщыпхъэри къыхэпхыну тынштэкъым». А письмом Тэрч областым и Iэтащхьэм къытретхэ ХьэтIохъущокъуэр Къэбэрдейм къэнэну хуиту. Дзэм и къулыкъущIэхэр зыкIи хуейтэкъым Бгырысхэм я школи я щIэныгъи; Къуэдзокъуэр дэIэпыкъуэгъу мыхъуамэ, ХьэтIохъущокъуэм къиIэта Iуэхури лъэлъэжат. Къуэдзокъуэр куэд еджэ цIыхут. Къулыкъум къыдэмыхуэ пэтми, ар Тхылъым бгъэдэс зэпытт, дэнэкIи къыщыдэкIыу хъуар къыIэрыхьэрт, езыри мыувыIэу газетхэмрэ журналхэмрэ тхэрт. И тхыгъэхэр политикэм, экономикэм, нэгъуэщI Iуэху зэшыгъуэхэм теухуа пэтми, Къуэдзокъуэм икъукIэ берычэту къигъэсэбэпырт литературэ тхэкIэм и фащэхэр, абы и сэбэпкIэ, зытепсэлъыхьыр дапщэщи нэгум къыщIэувэрт, еджэхэм псэкIэ зыхащIэрт. Абы и тхыгъэхэм хэпхъат Франджым, Инджылызым, нэгъуэщI къэралхэм я литературэхэм щыщ псэлъафэхэмрэ нэщэнэхэмрэ. Псом хуэмыдэжу IуэхугъуитIым хуэнэхъуеиншэт Къуэдзокъуэр: мэкъумэш IэщIагъэм цIыхухэр хуегъэджэнымрэ бгырыс гуащIэрыпсэухэр щIэныгъэм хуэгъэтэджынымрэ. 1867 гъэм Владикавказ ремесленнэ еджапIэ къыщызэIуаха нэужь, Къуэдзокъуэм и щIапIэр абы щеджэхэм яхуеутIыпщри, щIэныгъэр нэрылъагъуу къызэрагъэсэбэп Iэмалхэм ирегъасэ. ЕджапIэм зи нэIэ тетхэм ящыщт езы Къуэдзокъуэр. Зэгуэр абы и унафэщI ящIынуи къаIэтыгъащ. 1887 гъэм училищэм абы ирет щIыуэ дестынибгъум нызэрыхьэс, хадэ бэгъуа тету, псэуалъэри Iэмэпсымэри и гъусэу. А псори зэхэту сом миниплI и уасэт. Кавказ округым и унафэщIым абы щхьэкIэ фIыщIэшхуэ къыхуищIыгъащ Къуэдзокъуэм. ЕтIуанэ мураду Къуэдзокъуэм иIащ бгырысхэр урысыбзэм ешэлIэныр. «Урысыбзэр шэрыуэу щIэнымрэ сэбэп къэзыхь наукэхэр джынымрэ Кавказым ис лъэпкъхэм я дежкIэ гъэтIылъыпIэ зимыIэ къалэнщ», – жиIэрт абы емышу. 1882 гъэм абы и узыншагъэр нэхъыкIэ мэхъу… Къуэдзокъуэм и гъащIэр зэриуха щIыкIэр иджыри тэмэму зэIубз хъуакъым. 1887-1888 гъэхэм къыдэкIа «Кавказский календарь»-м ар ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа комиссэм и унафэщIу итщ, 1889 гъэм а къулыкъур «зеиншэу» къонэ, 1891 гъэм а календарым иратха цIыхухэм Къуэдзокъуэр хэтыжкъым. Къумыкъу Тыгъуэн зэритхымкIэ, Къуэдзокъуэ Лэкъумэн 1893 гъэм Владикавказ щылIащ. УНИВЕРСИТЕТЫР къиухыу щалъхуа хэкум къигъэзэжа нэужь, ар гурэ псэкIэ дихьэхауэ йолэжь и лъэпкъым и псэукIэр куууэ джыным, хэкур зыхуэныкъуэмрэ зыхуэкъуагуэмрэ къыгурыIуэным. Къуэдзокъуэм тыншу гъунэгъу захуещI щIыпIэм ис бгырыс пэрытхэмрэ урыс цIыху хьэлэлхэмрэ, абыхэм я жэрдэмыр къигъэсэбэпурэ тхыдэр щызэхуэхьэса архивхэр щIеджыкI, уэрэдыжь, хъыбарыжь хуэдэхэр етхыж, тыркубзэмрэ тэтэрыбзэмрэ зрегъащIэ, анэдэлъхубзэр едж. А IуэхухэмкIэ Къуэдзокъуэм дэIэпыкъуэгъушхуэ къыхуэхъуахэм ящыщщ Нэгумэ Шорэ. Мыбы и чэнджэщкIэщ щIалэм адыгэбзэр джын зэрыщIидзар. ИужькIэ, бзэм и щэхухэр къищIа нэужь, Къуэдзокъуэрщ Шорэ и лэжьыгъэхэр япэ дыдэ щIиджыкIыу зэпкърызыхар. Адыгэ щIалэм и мурадащ бгырысхэм я гъащIэм теухуа лэжьыгъэшхуэ итхыну. Кавказым щрихьэкIа илъэс ныкъуэм къриубыдэу абы куэд хузэфIэкIащ хэкур джынымкIэ, абы и этнографиемрэ тхыдэмрэ епха нэщэнэхэр зэхуэхьэсынымкIэ. Къуэдзокъуэм и усэхэр зэ еплъыгъуэкIэ къыпщохъу Кавказым щригъэкIуэкIа гъащIэмрэ лэжьыгъэхэмрэ зыкIи емыпхауэ. Пэжу, усэхэм хэткъым Кавказым и теплъэгъуэ нэрылъагъуи, бгырыс псэукIэм пыщIа фащэ щхьэхуи, а зэманым екIуэкIа гъащIэм и дамыгъэ гуэрхэри. Усэхэм я Iэпкълъэпкъыр къызэщIиубыдэу зы зыщIыр мурад абрагъуэхэмрэ хъуэпсапIэ жыжьэхэмрэ зи псэр ета щIалэрщ. Мыбы и гупсысэхэмрэ и дуней еплъыкIэмрэ къыбгурыIуэн щхьэкIэ, гу лъытапхъэщ 30-40 гъэхэм щыгъуэ урыс романтизмэм игъафIэу щыта макъамэхэм Къуэдзокъуэм и усэхэр зэрыщIэтэджыкIым. Романтизмэм къыдалъхуа псэлъафэхэмрэ нагъыщэхэмрэ щымыгъуазэм дежкIэ абы и лирическэ лIыхъужьыр пщIыхьэпIэ мыIупщIым къыхэтэджыкI хуэдэщ. А цIыхум езым и гъащIэ нэрылъагъу имыIэжу, лъэпкъ гуэри къыхэмыкIауэ, къиIуатэ гупсысэхэм тегъэщIапIэ гуэри ямыIэу, къезыхуэкI хъуэпсапIэхэри убыдыпIэншэу, пкъыншэ-псэншэу къыщыхъунщ усэхэр зытхам и гъащIэм щымыгъуазэм. Сэ икъукIэ сыдихьэхауэ икIи сфIэгъэщIэгъуэну зэздзэкIащ Къуэ- дзокъуэ Лэкъумэн и усэхэр. СызыщIэхъуэпса дахагъэм схунэмыгъэса- ми, си гуапэт си лэжьыгъэр зымащIэкIэ нэхъ мыхъуми тхылъеджэхэм гунэс ящыхъуну. СОКЪУР Мусэрбий 1989 Къуэдзокъуэ Лэкъумэн и усэхэр ПСЫ ЦIЫКIУ Къум дэгу мэзыншэу губгъуэ джафэм И псыпэр пIащIэу ныпхегъэкI. Гъуэгу нашэкъашэм и унафэм ТекIын а псыпэм хулъэмыкI. Зэшыгъуэщ, фэншэщ пшахъуэщI губгъуэр. Ауэ псы цIыкIум макъ тхьэгъуш Дунейм хуегъаджэ и щIэщыгъуэу, КъыфIэщIу къумыр къигъэуш. А макъыр зыхищIэнущ псэкIэ, Къихьам къум нэщIым хьэщIэ гуэр. Псы цIыкIум къекIуэлIэн хулъэкIым, ЩIэнами, щIэкIыжынущ лъэр. Пшахъуалъэ гъуэгукIэ къумыжь псэншэм Нэрыгъыу щхьэ укъилъэда? Сыт зыхуэпабгъэр уи псэ зэшыр? Мураду батэр зыхуэбгъэшыр Къэплъагъуу уи гур хуэлыда? . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . Модэ жыжьэу къыр задэжьхэм АдэкIэ хышхуэр щоукъубей; И толъкъунхэр къызэдэжэм, Iуфэ гъагъэр яугъуей. Псы щымыIэ хым хуемыIэ, Зэрынэсуи хокIуэдэж… Мы псы цIыкIури, псэху имыIэу, Губгъуэм пхожри, хым мэкIуэж. ЖЭЩ Махуэм псэху имыIэу лажьэри, Дуней псор хыхьакIэщ пщIыхь. Уэгур нэхущ, мыбауэ жьапщэри, Лъэ макъ гуэри къэмыцырхъ. КъэIукъым бзум я лъатэ макъи, Я уэрэди зэхыумых. Мазэр плъыр мыгъуэлъщи, сакъыу Гуэл жеяхэм къахуоплъых. Гуащэ фагъуэрщ вагъуэ бынхэм Жей имыIэу къахэнар. Уафэ губгъуэм иIэ гъунэ? – КIуэнырщ, кIуэнырщ къыхуэнар. Жэщ вагъуэбэм зиущэхуамэ, Сыт дахагъкIэ къыпэхъун? Мазэм и фэр тIэкIу пихуамэ, Щхьэусыгъуэ иIэ хъунщ… СфIэфIщ си нэгум мазэр къипсэу Жэщ даущым сыхэтын. Фагъуэ пэтми, ар си гъусэм Си хъуэпсапIэр сфIощI згъуэтын. СфIощIыр мазэр тхьэусыхэу Къылъысахэм хуэшхыдэж, Ар бзаджащIэм къахуеплъыхыу Iуэху фIей куэдым къатебгэж. Абдеж си гур ходзэкъыкIыр, КъысхуэмыщIэу къыщыщIар. Си бгъэр хьэлъэу хощэтыкIыр, Схуэмыубыду нэпс къепщIар. Ауэ мес, мэлыдыр вагъуэр, Я нэ цIыкIухэр ягъэджэгу. Уи щхьэр, жаIэ, щхьэ уи жагъуэ? Нэщхъеягъуэр щIы уи лъэгу! Гукъыдэжым къегъэзэжыр, Бгъэри хуиту мэбэуэж. Мурад IэфIхэр зэщIонэжри, Бзийхэм пшагъуэр ныхесхьэж. Ауэ нурыр куэдрэ блэркъым: Махуэр къосри, уэгу пхъэнкIам Иреху вагъуэр зигъэуэркъыу, СIэщIех гугъэуи сIункIар… Жэщ вагъуэбэм зиущэхуамэ, Сыт дахагъкIэ къыпэхъун? Мазэм и фэр пихупамэ, Щхьэусыгъуэ иIэ хъунщ… ГЪЭР ЩIАЛЭМ И ПЩIЫХЬ Сыщалъхуа Хэкуу адэжь лъахэ! Услъагъужыну пIэрэ зэ? Куэд щIауэ си гум щызгъэфIахэр СхуащIакIэщ нобэ дэкъузэн. Дахагъэт, гъащIэт, лъагъуныгъэт ИгъащIэм си псэм и нэрыгъыр. А хъуэпсхэм сэ сызэщIаIыгъэу Уэгу щхъуантIэм куэдрэ сыдоплъей. Хьэтыр схуищIэнкIэ сыщыгугъыу Iустазу сиIар мы дунейрщ. Уэгу щхъуантIэ хуиту гъунапкъэншэр Гурылъхэм лъахэ яхуэхъун? Си хэкурщ си насып мыгуэшыр – Абы дахагъкIэ сыт пэхъун?! Хьэуэ, щыIэнкъым щIы хъурейм Апхуэдэ пшэплъ, апхуэдэ уэгу, Апхуэдэу хъупIэхэр щыбей, Апхуэдэу фIыгъуэхэр зи нэгу! . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . Ныбжьэгъу пэжагъкIэ збгъэдэтахэ! Дапщэщ дызэрыгъуэтыжын? IэфIагъыу ди псэм щыдгъэфIахэр,– Мурад мыункIыфIу къытхуэблахэр – Дапщэщи зэхуэтIуэтэжын? . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . Сыщалъхуа Хэку, сыщалъхуа Хэку! Дапщэщ сыдыхьэжын уи жьэгу? . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . Ихуауэ бийхэм я IэмыщIэ Арт зэгупсысыр гъэр щIалэщIэр. Ауэ Морфейр абы къытоуэ, ЛъэмыкIыу напIэр фIызэтоуэ. Арыххэу щIалэр хэжеяуэ Елъагъу и Хэкум ихьэжауэ: И пащхьэм губгъуэр щощIэращIэ, Псынэпсу къабзэщ уафэ лъащIэр, Псэ пыт къыфIощIыр псыежэххэм, Хэкум и IэплIэр къызэIуехыр. Нэгу зэIухакIэ къыпежьауэ, Къудамэр жыгхэм къыхуаший, Гупсысэ Iэджэм а жыг жьауэм ЩагъэIущакIэщ щысабийм. Адэжь и унэр щIапIэм итщи, Ар щIалэм тыншу къегъуэтыж, Зэман блэкIахэм и щхьэ хуиту ИгъэлъэпIахэр игу къокIыж: Зэхуос аргуэру и ныбжьэгъухэр, IэфIагъкIэ зэ къыдэгуэшар; УпщIэн-усэныр ямыужэгъуу Я псэм ныхуахьыр къэкIуэжар. Гъэр щIалэм зыхуэмыубыдыжу IэщIокIыр псэр – лъэтэн къудейщ. Насып мыухыр и Iэдэжщи, ТIэкIу къозэвэкIыр мы дунейр. Йохъуэхъу ар Хэку къыздихьэжами… Ауэ, сыт, пщIыхьыр мэбзэхыж; ФIэфIат ар тIэкIу илъагъужамэ, АрщхьэкIэ, плъэкIмэ, къэубыдыж. Насып уэсэпсыр гъущыжащи, Зэрошх гъущI лъэхъур, зигъэхъейм. Хьэпс куум щыгызу щIидзэжами, Пэджэжкъым зыри щIалэ хейм. КЪУРШ ПСЫДЗЭ Мэлъащэ къурш псыдзэр, Къыр зэвхэм поджэж, Тхъурымбэр зэрихьэу МэхъущIэ, мэщатэ; ЙоупщIыр мывэжьхэм, ЕщIыфыр Iэдэж; ХъыжьагъкIэ и гущхьэр Бэгауэ мэятэ. ЩIыхь хуэлъэщ а псыдзэр, Бгъуэтынкъым пэхъун; ХыфIехуэ и ткIуэпсхэр, Губжьауэ мэгъуахъуэ; ХулъокIыр къыр бгыжьыр Икъутэу щIэпхъуэн, Мэкъу пыпхъуэ къыфIэщIу, ЩIы фIыцIэм щIобжьахъуэ. И бийхэм текIуауэ И макъыр иIэт ПфIэщIынущ пелуаным, Къыхуэзэр хегъащIэ; Уэгу щIагъыр лъэщагъкIэ КъещIыфыр щыхьэт, АрщхьэкIэ, лъэмыкIыу, Ар тафэм хуопIащIэ. Еужэгъур бгыжь щхьэхухэр А псыдзэу губжьам. Ныхуожэ губгъуэшхуэу ЖэнэткIэ гъэнщIам. Зы пщIани къыщыкIыу Къуршыщхьэм плъагъункъым, Гъэгъауэ зы тхьэмпи А щыгум щымыхъу. Дыгъэпсыр щыдзакъэм ЖьауапIэ бгъуэтынкъым, Бгъуэтынкъым зы лъхуадэ – Ухуейми къэлъыхъу. Мывэджэу домбейхэм Я гъащIэр я гъабгъэщ, Мыл къартхэм я дзакIэм Уэсукхъуэр пощэщ. Къурш лъабжьэм гъэ къэскIэ Губгъуэшхуэр щогъагъэ, Къаруи ар хуейкъым Дахагъым нэхъ лъэщ. Хъуэпсэгъуэщ, гуакIуащэщ, ЩэныфIэщ а тафэр; Къурш псыдзэр Iэдэбу КуэщI бгъуфIэм йохьэж; Къыр лъабжьэм къилъхуами, Арщ иIэр хъуэпсапIэу, Мыл щIыIэм и бынми, Ар тафэм хуэпэжщ. АтIэ сыт псы Iэлыр IэрыпIу щIэщэхур? Зыгуэрым и жагъуэ КъищIауэ нэщхъей? Хуэм-хуэму ар макIуэ, КъыпфIощIыр кIуэтэхукIэ Щалъхуауэ бгы лъахэр Щинэну хуэмей. ТЕНДЖЫЗ Фыхэплъэм тенджызым: Сыт хуэдэу ар щэху! Губжьауэ зэгуэрым Зишхыжырт, зифыщIырт, Иджы игъуэлъыкIри Жеяуэ мэпсэху, ЗекIуэлIым жыр афэ ТепIауэ къыпфIэщIу. Дунейм ар и тепщэщ. Къэрали лъэпкъ Iэджи Зэхэту хъуэхъуфIхэр А хахуэм хуаIэт. Пащтыхьи лIыхъужьи Тенджызым хуотэджыр, БэуэнкIэ дзыхьмыщIу ЩIалэщIэр бгъэдэтщ. АтIэ щхьэ зиущэхурэ? Толъкъуну къебэкIыр ИупцIу ар Iэщэм Епхъуэну лъэмыкIрэ? Губжьалъэу и нэгум Iэсафэ теуауэ Щхьэ щылъ ар, бланэпкъыр Щхьэхыным щIихауэ? Лъыр лъынтхуэм ипцIыхьмэ, Iэпкълъэпкъыр мэдийри, Хахуагъэр иужэгъум, Хуэмыхуу лIыр къонэ, АрщхьэкIэ зиIэтрэ Абы зиукъуэдиймэ, Дунейм и щыпэлъхур Зытетым къытонэ. Лъыр лъынтхуэм ипцIыхьу Дияуэ къэнакъым; Хахуагъэр иужэгъуу Хуэмыхуи ар хъуакъым. Iэдэбу къыпфIэщIыр И теплъэм и закъуэщ. Къарууэ игъэпщкIум ИмыIэ гъунапкъэ. Тенджызым и теплъэр Мамырмэ, нэхъ екIущ, АрщхьэкIэ и лъащIэм Губжь Iэджэ щегъэпщкIу. ГУБГЪУЭ Пшахъуалъэм и губгъуэр Зэшыгъуэщ, нэщхъейщ, Хьэдащхьэм сын пцIанэ Щхьэщытми ярейщ. А губгъуэм лIэныгъэр Щызеуэ къыпфIощI; Псэ закъуи щыплъагъукъым Къум нэщIым и куэщI; ЖьыгъуркIым а пшахъуэр Зэрехьэ, еухуэнщI; Ар жьыбгъэм и гъыбзэрщ – Зэхэпхкъым нэгъуэщI. Йодзакъэ ар гущIэм, ГуIэгъуэм хущIэбжэу, Ар пщIэнкъым лIар и псэм КIэлъыджэу фIэкIа. Псэ пыту мы губгъуэм Зыгуэри къыхуэжэм, ЙокIуадэ, бэуэгъуэ Ихуэн лъэмыкIау. Мыбы джэрпэджэжыр Къутахуэу къыщысми, Ар пшахъуэм етхьэлэ, ХуэпIащIэу ишхын; МэкIуэдыр дыгъэпсым И дамэр зэIуси: Къамэпэщ – хулъокIыр Гум нэскIэ пхыкIын. Жьауэншэщ къум нэщIыр, ЩымыIэ гъэпщкIупIэ. Мы щIыпIэм укъихьэм – ПхуэхъуакIэщ кIуэдыпIэ. . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . ЖьыгъуркIыр мэушри Пшахъуалъэм йофий; Уэгу-щIыгур кIыфIыгъэм Дакъикъэм есей. Тоужыр борэнри Къум нэщIыр мэдий, Псэ пыту щIы щхьэфэм ТемытIа нэхъей.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "soqur.txt" }
Гулливер лиллипутхэм я хэкум ЗэзыдзэкIар Елбэд Хьэсэнщ, 1959 гъэ (пычыгъуэ) Гулливер къыщыушам нэху щыпат. Ар и гущIыIур дэгъэзеяуэ щылъти занщIэу дыгъэр и нэкIум къыридзэт. Ар и нэм щIэIуэтыхьыну хуея щхьэкIэ, и Iэр къыхуэIэтакъым; къэтIысыну хуежьат, арщхьэкIэ зигъэхъеифакъым. КIапсэ псыгъуэ цIыкIухэмкIэ и Iэпкълъэпкъ псори зэщIэпхат и блэгущIэм щыщIэдзауэ и лъэгуажьэм нэсу; и Iэхэмрэ и лъакъуэхэмрэ кIапсэ зэрыхъэкIэ быдэу шэщIауэ щытхэт; кIапсэ псыгъуэ цIыкIухэр и Iэпхъуамбэ, лъэпхъуамбэхэм псори къеухуэнэкIат. Ар щыгъэтауэ Гулливер и щхьэц Iув кIыхьыр щIым хэукIа бжэгъу цIыкIухэм быдэу ешэкIауэ кIапсэ псыгъуэ цIыкIухэмкIэ къепхэкIыжат. Гулливер хъы кIуэцIым къихута бдзэжьейм ещхь хъуат. «Сэ иджыри сожейри аращ»,-игугъащ абы. Абы хэту зы псэущхьэ гуэр и лъакъуэмкIэ къыдэлъеящ, и бгъэм къэс къыдэжейри и жьэпкъым и деж къыщыувыIащ. Гулливер нэбгъузкIэ къыщIэплъащ. Мыр сыт гъэщIэгъуэн! И пэ щIагъым къыщIэтщ жыпIэну зы цIыкIужьей гуэр къыщытщ – цIыкIунитIэщ, ауэ пэжу цIыху дыдэщ! Абы и Iэм шабзи шабзэши IэщIэлъщ, шалъэри и плIэм идзащ. Езым и инагъыр псори щалэ хуэдиз фIэкI хъуркъым. А япэрей цIыкIужьейм кIэлъыкIуэу, Гулливер и гущIыIу къихьащ аргуэру апхуэдэ цIыкIужьей фочауэу плIыщI хуэдиз. Гулливер, зищIысыр къыхуэмыщIэу, гуоуащ. ЦIыкIужьейхэр зэрехьэжьэри щхьэж и занщIэр и гъуэгуу зэбгрыжыжащ. Ахэр зэбгрыжахэщ лъэпэрапэм, джалэм къыщылъэтыжхэурэ, итIанэ зым зыр и ужь иту къелъэжащ. ДакъикъитI-щы хуэдизкIэ Гулливер зыри бгъэдыхьэжакъым. Ауэ тхьэкIумэ щIагъым зэпымууэ макъ гуэр къыщыIурт, тхьэгъэлэдж дж’ макъым ещхьу. Ауэ мыгувэу цIыху цIыкIухэр аргуэру къызэрыгъэгушхуэжри и лъакъуэ щIыIухэм, и Iэ щIыIухэм, и дамэхэм къыщапкIыхьу щIадзэжащ, я нэхъ гушхуа дыдэр щэху дыдэурэ Гулливер и напэм екIуэлIащ, и мыжурэ кIыхьымкIэ и жьэпкъ щIагъым епэщэщри макъ псыгъуэ зэхэщIыкIыгъуафIэкIэ кIиящ: - Гекинэ дегуль! - Гекинэ дегуль! Гекинэ дегуль! – макъ псыгъуэ цIыкIухэр лъэныкъуэ псомкIи къыпэджэжащ. Ауэ Гулливер хамэ къэралыбзэ куэд ищIэ пэтми, къыгурыIуакъым а псалъэм къикIыр. Куэдрэ тхыцIэкIэ телъащ Гулливер. И Iэхэмрэ и лъакъуэхэмрэ Iей дыдэу къэпщат. Абы и къару псори зэхилъхьэри и Iэ сэмэгур щIым къытыричыну къеIащ. ИкIэм абы ар къехъулIащ. Абы щэ бжыгъэкIэ кIапсэ псыгъуэ быдэ цIыкIухэр зэухуэнэкIа бжэгъу цIыкIухэр къыхичащ, и Iэри къиIэтащ. А дакъикъэм и щIагъымкIэ зы макъ цIу цIыкIу гуэр къыщыкIиящ: - Тольго фонак! Гулливер и Iэхэм, и напэм, и пщэм шабзэшэхэм шэ бжыгъэкIэ зыкъыхасащ. А цIыкIужьейхэм я шабзэшэхэр мастэм хуэдэу псыгъуэт икIи папцIэт. Гулливер и нэр зэтырипIащ икIи жэщ хъуху зимыгъэхъеинуи мурад ищIащ. «КIыф хъум нэхъ тыншщ хуит зыпщIыжыныр!- егупсысащ ар. Ауэ абы деж жэщ хъуху щылъыныр абы къехъулIакъым. И тхьэкIумэ ижьым пэмыжыжьэу зэкIэлъигъэпIащIэу теуIуэ макъ жьгъей къоIу, зыгуэрым абдеж дыдэм пхъэбгъум гъущI Iунэ щыхиукIэ хуэдэу. Уадэ цIыкIухэр сыхьэт псокIэ теуIуащ. Гулливер и щхьэр мащIэ дыдэу иригъэзэкIри – нэхъыбэIуэу иригъэзэкIыну бжэгъу цIыкIухэмрэ кIапсэ цIыкIухэмрэ амал къыратакъым – и щхьэ дыдэм и деж абы щилъэгъуащ щIын яуха къудейуэ пхъэбгъу теувапIэ бгъуфIэ. ЦIыкIужьейхэм ящыщ зыкъомым абы пкIэлъей цIыкIухэр кIэраупсаерт. ИтIанэ ахэр Iужыжри, дэкIуеипIэмкIэ хуэм дыдэурэ зы цIыкIужьей дэкIуеящ, плаш кIыхь щыгъыу. ХуэдитI нэблагъэкIэ абы нэхърэ нэхъ цIыкIужу нэгъуэщI зыгуэри абы кIэлъыдэкIуеящ, и плашым и кIэр щIиIэтэурэ. Ар абы и кIэр щIиIэтэу къыдэзыкIухь щIалэ цIыкIу къыщIэкIынт. Ар Гулливер и IэпхъуамбэжьакIэм нэхърэ нэхъ интэкъым. Иужь дыдэу абы дэкIуеижащ фочауитI, шабзэ шэщIахэр яIыгъыу. - Лангро дегиль сан!-жиIэурэ плашыр зыщыгъ цIыкIужьейр щэ гуоури, бжьамийуэ гъэджэрэза тхылъыр къызэкIуэцIихащ, и бгъуагъкIи и кIыхьагъкIи пхъэхуей пщIащэ хуэдиз хъууэ. А сыхьэтым Гулливер цIыкIужьей щэныкъуэ къыбгъэдэлъадэри и щхьэцыр зэрепха кIапсэ цIыкIухэр зэпагъэлъэлъащ. Гулливер и щхьэр иригъэзэкIри плаш зыщыгъ цIыкIужьейр къызэджэм едэIуащ. ЦIыкIужьейр куэдрэ къеджащ, куэдри псэлъащ. Гулливер зыри къыгурыIуакъым, ауэ сытми и щхьэр ищIащ, хуит къэхъуа и Iэри и бгъэм тырилъхьащ. Гулливер къищIащ и пащхьэм цIыху хэIэтыкIа лIыщхьэ къызэритыр, узэрыгугъэнумкIи ар пащтыхь лIыкIуэу къыщIэкIынт. Псом япэу Гулливер мурад ищIащ ягъэшхэну а лIыкIуэм елъэIуну. Абы кхъухьыр зэрыщинэрэ и жьэм икIэрауэ зы щIакхъуэ щыкъуей жьэдэхуатэкъым. И Iэпхъуамбэр иIэтурэ зыбжанэрэ и Iупэм хуихьащ. Абы къикIыр къыгурыIуагъэнт плаш зыщыгъ цIыкIужьейм. Ар а пхъэбгъу теувапIэм ехыжри а сыхьэтми пкIэлъей кIыхь зыбжанэ Гулливер и джабэми ираупсеящ. Сыхьэт плIанэ нэхъ дэмыкIыу, цIыхуищэ хъууэ хьэлъэзехьэ хэплъыхьахэм шхын зэрылъ кIарзинкIэхэр а пкIэлъейхэмкIэ дырахьеящ. А кIарзинкIэхэм щIакхъуэ мин илъащ, я инагъкIэ джэрш хьэдзэ хуэдизхэу, дэшхуэ хуэдиз хъу кхъуэкуэ шыуахэр, ди бадзэхэм нэхърэ нэхъ цIыкIу хъун джэдыщIэ гъэжьахэр. Гулливер куитIрэ щIакхъуищрэ зэуэ иригъэлъэтэхащ. Абы иужькIэ вы гъэжьагъитху, дыгъэкIэ гъэгъуауэ мэлий, кIагъуэкIэ гъэгъуауэ кхъуэшыр пщыкIутI, джэдыщIэрэ къазу щитI ишхащ. ЩIэх дыдэу кIарзинкIэхэр нэщI хъуащ. ИтIанэ цIыкIужьейхэм Гулливер и Iэм деж ирагъэукIуриелIащ шагъыр бошкIитI. БошкIэхэр икъукIэ инхэт – дэтхэнэри стэчан хуэдиз хъунт. Гулливер зы бошкIэм и щхьэр тыриудщ, адрейм и щхьэри тыриудри, Iубыгъуэ зытIущкIэ бошкIитIри ирищхъумпыкIащ. ЦIыкIужьейхэм ягъэщIагъуэу я Iэгухэр зэтырагъэуащ, итIанэ къызэрищIэнкIэ елъэIуахэщ бошкIэ нэщIхэр щIым къыридзыхыжыну. Гулливер бошкIитIри зэуэ къахуидзыжащ. БошкIэхэр хьэуам щыджэрэзащ, щIым зэрытехуэуи лъэныкъуэ зырызкIэ лъеижащ. ЦIыху Iув зэхэтри зэрыгъэкIийуэ лъэныкъуэ-лъэныкъуэхэмкIэ зэрегулIащ: Борэ меволэ! Борэ меволэ! Шагъыр ефа нэужькIэ Гулливер занщIэу и жеин къэкIуащ. Жейм зыдиIыгъым абы къищIащ цIыкIужьейхэм абы и гущIыIум къызэрыщажыхьыр, и кIыхьагъымкIи и бгъуагъымкIи ирижэхэу, и джабэхэм къежэххэрт, тэмэму Iэжьэ цIыкIукIэ бгым къызэрежэхым хуэдэу, баш цIыкIухэмкIэ, мыжурэпэхэмкIэ ягъэкIылырт, зым ипкIмэ адрейм пкIэурэ. Ар хуабжьу хуеят жеигъуэ къезымыту и гущIыIум къыщызыпкIыхь, а къэжыхьырей цIыкIухэр пщIы бжыгъэкIэрэ зытыригъэлъэлъыну, ауэ абыхэм ягу ящIэгъуащ. Дауи щырети икъукIэ хьэщIэкIэ гумащIэу а цIыкIужьейхэм шэджагъуашхэу, шхын зэщыщхъу, асу зыщIэлъкIэ ягъэшхат, цIыхугъэтэкъым абыхэм я Iэ цIыкIу, я лъакъуэ цIыкIухэр зэхэбгъэщIыщIэныр. Абы къыдэкIуэу Гулливер имыгъэщIагъуэуи хъуакъым зэ жьэхэуэгъуэкIэ псори зыгъэкIуэдыфыну иныжьым и гущIыIум къыщызыжыхь а цIыкIужьей дыдэхэм я лIыхъужьыгъэ хьэлэмэтыр. Гулливер ахэр зыфIимыгъэIуэхуным триубыдащ, шагъыр гуащIэм чэф къыритати, езыри щIэх дыдэу жейм хилъэфащ. ЦIыкIужьейхэр зыхуеяри арат. Абыхэм бошкIэм ит шагъырым зыгъэжей щхъухь щIыхакIутари я хьэщIэ иныжьыр ягъэжеину арт.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "svift-dzhonatan.txt" }
ХьэтIохъущыкъуей жылэм дэлъ псэлъэкIэм теухуауэ 3-нэ Iыхьэ 25. Емыгъэз амбар - тхьэмыщкIэм, дэхуэхам зызэрыщIагъакъуэ Iуэхугъуэщ. Къуажэкум хуэзэу шыкуэтэн щIэту дуушхуэ ягъэувырти, хэт сыт хузэфIэкIми, ар ирехьэжыгъэ, ирегуэдз, сыт ирехъуи, пIалъэ кIэщIкIэ зэмыкIуэкIыну гъавэхэкIхэм щыщ кърахьэлIэрт. Къуажэм щыщми, нэгъуэщIыпIэ къикIами, хуэныкъуэр абы хэIэбэу къыхихыну хуиту щытащ. ХузэфIэкI хъумэ, къыхилъхьэжыну хьэкъ иIэт, ар къехъулIэну къимыгъэгугъэми, хьэлэл хуащIырт. Емыгъэз амбарыр I960 гъэхэм пщIондэ къуажэм дэтащ, иужьым Iуахыжащ. Ауэ и хъыбарыр нобэр къыздэсами нэхъыжьхэм куэдрэ яIуэтэж 26. ГуащэгъафIэ - сабий джэгукIэм щыщ Iуэхугъуэщ. Хъыдан гуащэ щащIкIэ дыщэ е дыжьын IуданэкIэ халъэфу и щыгъыныгъуэр ягъэщIэращIэмэ, "я гуащэгъафIэщ" жаIэ 27. Гуащэ Iэпэ - шхыныгъуэ лIэужьыгъуэщ; фIыуэ ятхьэщIа санащхьэ тхьэмпэм ягъавэу шыбжиитхъукIэ ягъэлыбжьэжа прунжыр Iэпхъуамбэ фIэкIа умыщIэну а тхьэмпэм кIуэцIашыхьри кIуэцIапхэж, иджыри зэ псывэм халъхьэжри зы тIэкIурэ ягъавэ. Шыбжийтхъур тракIэжри къалмыкъ шейрэ лэкъумрэ щIыгъуу Iэнэм трагъэувэ. Унагъуэ ихьагъащIэр лэгъунэм къыщIэкIыу и щыпэ Iэбэу пщэфIапIэр къыщылъыскIэ, япэу ирагъэгъэхьэзыру щыта шхыныгъуэхэм ящыщщ. ЗэралъытэмкIэ, ар нэхъ псынщIагъуэт, упщэфIынкIэ хэлъ щыIэтэкъым. Ауэ гъэщIэгъуэнхэр пылъщ. Псалъэм щхьэкIэ, шыбжийр, шыгъур ебэкI / емыбэкI теухуауэ нысащIэ цIыкIум и щэныр къацIыхурт, ебэкIмэ, тIэкIу дыджу къыщIэкIынщ, жаIэрт. Ар зыуэ. ЕтIуанэрауэ, нэхъ цIыкIуу зэкIуэцIашыхьыху нэхъ Iэзэу ялъытэу щытащ нысащIэр. Япэ къыхаха гуащэ Iэпэ тепщэчыр пщыжь Iыхьэт. Тхьэмадэм и ныбжьэгъухэр къыщIызэхуишэс хъуну щхьэусыгъуэу ялъытэу щытащ мыр 28. Гуащэ фо - фор бжьэ матэм къыщыдахкIэ, япэ Iулъхьэр унагъуэм ис унэ гуащэм хуагъэфащэрт, узыпхрыплъу пIащIэт, без къапщIий зи цIэ хэмылъуи къабзэт. Гуащэм и гуащэжыр исмэ, зыхуашийр арат гуащэ фор. Гуащэ фор нэхъ маещ, зы дзэкъэгъуэм уи гур къеуIэ. Мыр иджыри мыкIуэдыжауэ къокIуэкI 29. Къудысей, Къудас - Иерусалим къалэм и цIэр къуажэдэс нэхъыжьхэм зэрыжаIэр мыпхуэдэущ. Псалъэр хьэтIохъущыкъуейхэм я бзэм имызакъуэу зэрыадыгэбзэуи къыхэнауэ хэтщ, ауэ мащIэщ абы и купщIэ дыдэмкIэ зыцIыхужыр. Псом япэрауэ, цIыхуцIэхэм ущрохьэлIэ: Жанкъудас, Къудасбий, Къудасыкъуэ, нэгъуэщIэри. Къудасыр удз лIуэжьыгъуэми, Iэщэ лIэужьыгъуэми я фIэщыгъэщ. Удз лIэужьыгъуэу ар зыхуахьыр зи бзийр бгъузэу зи пкъыр кIыхьу илъэс Iэджэрэ къэкI зы удзщ, тыркубзэкIэ "sorguç otu", урысыбзэкIэ "ковыль" жыхуаIэращ. Пасэрей фоч лIэужьыгъуэ гуэрми адыгэхэр къудаскIэ еджэу щытащ. Къудасым и КъурIэнхэр щагъазэ мазэ - нэщI мазэм щхьэкIэ мыпхуэдэу жаIэу щытащ нанэхэм. Иджыри жызыIэнухэм Тхьэм дыщимыгъащIэ! 30. Къудысей алътес - щэкI пIащIэ лъэпкъщ. И джэбын IэлъэщIыр къудысей алътесым къыхахат, и фIыпIэм дыгъэ бзийр щыджэгу фIэкIа умыщIэну цIууэ, птемыщэтын хуэдэу и лэри щабэу,.. ЦIыхубз уэршэрым къыхэкIауэ зы псалъэщ 3I. Хьэрэгужэ хъун - зытриубыдэнур имыцIыхуу хьэжэпхъажэ хъуам аращ хужаIэр 32. Пшынэефэ - пшынэ еуэкIэ зэригъэцIыхуарэ еуэну пшынэ имыIэмэ, пшынауэм и ныбжьэгъу-жэрэгъухэр хузэхыхьэрт. Зыгуэрым къыхидзэрти, ахъшэ зэхэдзэ хуащIырт. ГъэщIэгъуэну екIуэкIыу щытащ. Пшынэхьэху еуэ пшынауэм "мыр къыхэдзэ", "мыбы къеуэ" жыхуаIэм къеуэурэ къигъэфэн хуейт цIыху къекIуэлIар. Къэфам гурыхь щыхъуамэ, гурыхьыпщIэу игу пыкI ахъшэ зэхэдзэм къыхилъхьэрт 33. Хьэдэпэс - цIыхухъу хьэдэр махуэм щIамылъхьауэ жэщым илъын хуей хъумэ, щхьэщыс и Iыхьлы-Iэулэдхэм апхуэдэу йоджэ 34. И цеикIэ къуащIэр гъуэнэн - сыт къыхэхъуэми зыми имыщхьэпэу зыфIэкIуэдыжым, кърихьэлIэр зэмыхъулIэм щхьэкIэ и цеикIэ къуащIэр гъуанэщ, жаIэ 35. Дыщэ сырымэ - дыщэ къабзэ, щымыщ хэмылъу, жыхуиIэщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, дыщэ плъыжь, жыхуиIэщ 36. Техъушышэн - зыгуэрым техъущIыхьын, зэпымычу жьэкIэ шхын, зэпымыууэ зыгуэрым ешхыдэн, жыхуиIэщ. Тохъушышэри, тохъушышэ, жьэмыгъэпсэхущ, сабийр сфIэпсэкIуэдщ - къызыхэсхыжар мыпхуэдэ псалъэухащ 37. Зэзэн - щIыр мэзазэ, жаIэ. Зы гъэм гъавэр къытрахрэ къыкIэлъыкIуэ илъэсым зрагъэгъэпсэхумэ, апхуэдэу жаIэ 38. Дестэ - сенычыр зэрылъ пхъуантэ цIыкIум щхьэкIэ жаIэ. Сеныч дестипщI къэсщэхури згъэтIылъащ 39. Мэзбий - енэбым щыщ удз лIэужьыгъуэщ. ТыркубзэкIэ "eğrelti", урысыбзэкIэ "папоротник" жыхуаIэращ 40. Шыгъувэ - къупщхьэ узым тралъхьэн хуэдэу шыгъушыпсым халъэфа щэкIым аращ зэреджэр ХьэтIохъущыкъуей жылэм дэлъ псэлъэкIэм теухуауэ 4-нэ Iыхьэ Къэбэрдей псом зэIэпахыу щIаджыкIа "Щихухэр иджыри мэкI" тхыгъэшхуэм ириуэршэрыну хьэтIохъущыкъуейдэсхэм къуажэм кърагъэблэгъэжат ар зи Iэдакъэ къыщIэкIа Къэрмокъуэ Мухьэмэд. Зи щхьэфэ имыIэба къэнакъым, жыпIэну ирипсэлъа нэужь Жылау Нурбий тхакIуэм еупщIат: сыт апхуэдизу мы романым цIыхур дезыгъэхьэхыр, сыт зыIэпызышэр, жери... Мухьэмэд и жэуапри кIэщIт икIи нахуэт: мы сызыщалъхуа къуажэжьым и бзэращ, жиIат. 4I. Шаш - зи кугъуэм хужьгъэр трищIа, ауэ джэдыкIафэр зытемыхъуа джэдыкIэ, джэдыкIэ пцIапцIи мыхъуауэ къутэжа джэдыкIэ шаш, жаIэ 42. ЗэпыщI - мэзыр е бгыр уэх е къуэ хуэдэу тIууэ зэпэщIэзыхым зэпыщIкIэ йоджэ. ЗэпыщIышхуи щыIэщ, зэпыщI цIыкIуи щыIэщ. ЗэпыщIышхуэм псы ирожэ. къуэр нэхъ бгъуэщ, псэущхьэ тIысыпIэу щытынкIэ хъунущ. ЗэпыщI цIыкIум батыргъэныр, удзлъэхъыцыр, къуацэр уэру щокI, пхырыкIыгъуейщ, псыIэу щытщ 43. ГублыцI - I. къамылылъэ; 2. гъужа хьэзыру къэкIыгъэ щыкI, щыбэ шэдылъэ 44. КIэдэвэж - щIыр ява нэужь гъавэм и кум псыгъуэ цIыкIуу щIы Iыхьэ мыву къонэ, абы кIэдэвэжщ зэреджэр 45. ЦIацIырэ - хьэцIэпIацIэ лъэпкъщ; тыркубзэкIэ "ateş böceği", урысыбзэкIэ "светляк" жыхуаIэращ. Адыгэбзэм цIацIырэ лIэужьыгъуэ зыбжанэ я фIэщыгъэм ущрохьэлIэ: цIау, цIыцIэ, лу 46. ПIастэгъашэ - ерыскъыфIэ, зи Iэнэ зэикI шхын щIэщыгъуэншэ мыхъу 47. Хьэбыхъу - хьэнтхъупсым мыпхуэдэуи йоджэ 48. ХьэцIырэ - къуэрылъхухэм щыщу нэхъыщIэ дыдэм адэшхуэр зэреджэ цIэ 49. ХьэтIыхъу - къуэрылъхухэм щыщу къыбгъэдэс быным я нэхъыщIэм адэшхуэр зэреджэ цIэ 50. ДжэдыкIэ фампIэ - джэдыкIэм телъ фэм апхуэдэущ зэреджэр, "джэдыкIампIэ" псалъэри къуажэдэсхэм зэрахьэ 5I. Шэджэлъаджэ - щитIэгъэни ишхыни зимыIэ, зыхуей зымыгъуэт тхьэмыщкIэ. ИлъэсиблкIэ зэIэпыту екIуэкIа гъейм цIыхум ишхыни щитIэгъэни имыIэжу шэджэлъаджэ ищIати, и Iэр шияуэ лъаIуэу къуажэм къыдыхьэм къыдэхьэкIэ уеджэнутэкъым, къыдэужьгъэр жыпIэнут, куэдыщэ хъурти... 52. КIэдыкIауэ - I. нэхъыжьым и псалъэр и кIэ ныримыгъэгъэсу зэпымычу зэпызыуд, зи псалъэ къыдэзыIум щхьэкIэ апхуэдэу жаIэ. 2. НэгъуэщI зы мыхьэнэи иIэщ, нэхъыбэуи аращ псалъэр зэрацIыхур: сыт хуэдэ псалъэми гурыщхъуэрэ мыарэзыныгъэрэ тезыщIэ, щигъуэми щимыгъуэми упщIэкIэ къэзыухь цIыху 53. Хъурэщхьэрыуэ - Iэхъуэм ялъыщIэмыхьэу иужь къинэу зэбгрыхъукI Iэщым щхьэкIэ хъурэщхьэрыуэщ, жаIэ 54. Мэчэхъан, Мэчэр - КъурIэн Iыхьлы хъуну зыхуэхъуапсэ, дин щIэныгъэкIэ зыхуэупсэ хъыджэбз цIыкIум апхуэдэцIэ фIащу щытащ 54. Есэбэуэн - тепIэнщIэлъыным е щыгъыным башкIэ е IэкIэ сабэр храгъэхумэ, есэбауэу аращ жаIэр 55. ЗэхэцIыцIэн - цIыкIу-цIыкIуу зэтекъутэн, къэнар зэтегъэсхьэн. Къуажэр сыт хуэдизрэ зэхамыцIыцIами, щIэрыщIэу я псэуалъэр зэрагъэпэщыжырт 56. Хьэнтхъу-вынтхъу - мыхьэнэ зимыIэ, щыкъуей, цIыкIу-фэкIу 57. ЗэIэпыт - зэкIэлъыкIуэ, зым иужь зыр иту, жыхуиIэщ 58. Къэухьын - псалъэкIэ, упщIэкIэ щIэгъэнэн, щIэуфэн, жыхуиIэщ 59. КIэд - кIэ зимыIэ гурыщхъуэ упщIэкIэ уи щхьэр уэзыгъэужэгъу цIыхум щхьэкIэ "цIыху кIэдщ" жаIэ 60. Тегурэн - зи къуэрылъху-пхъурылъхухэр зэпщIэкIа, и кIэ къуащIэри яIыгъыу, и гущIыIуми ису ялъагъу цIыхум щхьэкIэ "и сабий быныр тегураи" жаIэ. Мыр фIыщ...) ХьэтIохъущыкъуей жылэм дэлъ псэлъэкIэм теухуауэ 5-нэ Iыхьэ Ди ХьэтIохъущыкъуей къуажэм Джэрий и цIэу зы Iэхъуэ дэсащ, жылэм адэкIэ дуней щыIэми щымыIэми игъащIэми имылъэгъуауэ. ЛIы хъарзынэт, гумащIэт, цIыху хьэлэлт. Зэгуэрым Дыгъэмыхъуэ и щыгу дыдэм къиувауэ къиту и Iэр Iэдакъэжьауэ ищIщ, зиплъыхьщ-зыниплъыхьри, ар жиIат, жаIэж: Уа, гъуни нэзи имыIэу сыту ин дыдэ-тIэ мы ди Къэбэрдейр, жери... Апхуэдэщ адыгэбзэри, гъуни нэзи иIэкъым, фIэщхъугъуейщ и лъащIэми унэсыфыну... Мы къизгъэувэ псалъэхэр сыщыцIыкIум щегъэжьауэ сэри, си къуажэгъухэми къыддэгъуэгурыкIуэу апхуэдэ защIэщ, я нэхъ мащIэу абы щыщ зы псалъэ цIыкIу нэмыIэми зыгуэрым къипсэлъауэ зыщIыпIэ щызэхэсхамэ, ар ди къуажэ щымыщми, и мэ зэрыщыуар кърисцIыхунущ - абыкIэ зэикI сыщыуакъым... 6I. Гущхьэмэрычу зыгъэзэн - къэхъуари къэщIари умыщIэу гузавэм уиубыдрэ, зыхуэпхьыныр умыщIэу абы уигъэндэращхъуэу щытмэ, мы си гущIэм гущхьэмэрычу зегъазэ, жаIэ 62. БэрыкIуэхыр къыхуэкIуэн - мызэ-мытIэу щагъэтIылъам щамыгъуэтыжу кIуэд хьэпшыпым щхьэкIэ апхуэдэу жаIэ. Псом хуэмыдэу, Iэпхъуалъ, мастэ, мастэкъуаншэ хуэдэхэм хуэгъэзауэ къапсэлъ 63. ХьэщIыIущIей - къэгъази егъэзэкIи имыIэу цIыху щIыкIей дыдэм щхьэкIэ жаIэу зы псалъэщ 64. Дурмэчач - делэIудэлафэ, жыхуиIэщ 65. Дурмэчаучэ - дурмэчачым къикI дыдэр къокI 66. Куэтын гъулъыпIэ - и пкъи, и щхьагъи, и лъэгуи чым къыхащIыкIыурэ ящI гъуэлъыпIэ аращ зэреджэр. Куэтын гъуэлъыпIэм и щхьагъым къу хуащIырт, тыншу зы щIыпIэм ипхыу нэгъуэщI щIыпIэ плъэфын щхьэкIэ 67. Курызэ - Iэпэ джэдыкIэ фIэкIа мыхъуу лы зыдэлъ псыхьэлывэм аращ зэреджэр. Къайсэр мантыхэр сигу къегъэкI. Ди анэшхуэм курызэ щищIкIэ тхьэври лыри зыгуэр хъунт, курызэм IэфI щIэзылъхьэр шыбжиитхъуращ, жиIэурэ тхъу гъэвэжамрэ шыбжий плъыжьымрэ зэхигъажьэрт, дэ купщIэ хьэжа щыхилъхи къэхъурт 68. ЗэщIасэ - къэзыщIэ щымыIэу щэхуу зэкIэлъыкIуэ, зи яку щIасэ щэху дэлъ цIыхуитIым щхьэкIэ апхуэдэу жаIэ 69. Пэлыгъуэ - узыфэ лIэужьыгъуэщ; сырымэ къыпщIихьэ зэIэпыту екIуэкIмэ, пэлыгъуэр и узыфэщ, жаIэ 70. ГуащэтIурэ - чымпэ псыгъуэ кIыхь зыбжанэ къыхахри, тIууэ зэтралъхьэ, и хъуреипIэм деж фIапхыкIри, ар щхьэ мэхъу, псыгъуэ кIыхьу къызэрыщIидзым щхьэкIэщ щхьэтIурэ щIыжаIэр, мыдрей къэнар пкъыщи, зэрахуэIэрыхуэм хуэдэу Iэмрэ лъакъуэмрэ къыхагъэкIыжри, гуащэтIурэкIэ зэджэжри аращ. ГуащэтIурэри хъыдан гуащэм хуэдэу яхуапэ 7I. УткIырыбжьэ - ерыскъым хэлъ ткIыбжьыр Iум ихьарэ имыкIыжыххэмэ, Iур мэуткIырыбжьэ, жаIэ 72. Пшапэнэгъу - дыгъэ тIысыгъуэмрэ жэщ хуэкIуэгъэмрэ я кум илъ пIалъэм аращ зэреджэр 73. ФIыцIэру - фIыцIабзэ, фIыцIэ дыдэ 74. Гуащэ пхъуантэ - зэрыджэгу гуащэм и щыгъын хуэдэхэр, ирахьэлIэ цIыкIуфэкIухэр щахъумэ дестэ 75. ЩIалэегъаджэ - егъэджакIуэ 76. БэрэхуатIэ - езыр хужыбзэрэ тIатIэу зи ныбжьыр хэкIуатэу хуежьа бзылъхугъэ. БлагъэзэгъэцIыхум къыщIаша цIыхубзхэр апхуэдизкIэ бэрэхуатIэти, защетшэкIым я IэплIэм дыкъищакъым, жари гушыIэ зыхэлъ цIыхубз псалъэмакъым дыщрихьэлIащ 77. ХьэкхъупIапIэ - уз лIэужьыгъуэщ, псыбыб ищIу щIыфэр къизыгъэлъэлъ узыфэ 78. ТIатIэхъу - лIы ныбэф тIатIэшхуэм щхьэкIэ ауан щIэлъу жаIэ псалъэ 79. Джырыдж - нэм щIэпщIыпщIыкIыу къыIуидзэ плъыфэм щхьэкIэ жаIэ. Нэхъыбэм хужь, дыжьын, дыщэ плъыфэхэм хуэгъэзауэщ къызэрапсэлъыр 80. Елъэстэуэн - зэмыпэсын, зыгуэрым елъэпэуэн, жыхуиIэщ. Бзэм нэхъыбэрэ узэрыщрихьэлIэр шхыным епхауэщ, ерыскъым уемылъэстауэ, жаIэ. Зыуэ щыт адыгэ тхыбзэр зэгъэпэщыным, анэдэлъхубзэр хъумэным ехьэлIауэ Дуней псом икъухьауэ щыпсэу адыгэхэм я гуныкъуэгъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ я адэжь лъахэ зэримысыжымрэ къащIэхъуэ щIэблэм я анэдэлъхубзэр зэрафIэкIуэдымрэ. А IуэхугъуитIращ зэпхар лъэпкъыр адыгэ и цIэу дунейм къытенэныр е «мыпхуэдэ лъэпкъи щыIащ» къыхужаIэу тхыдэтххэм и гугъу ящIыжу фIэкIа и лъэпкъыщхьэ щымыIэжу хэкIуэдэжыныр. Сыти ирехъуи, адыгэхэм тщыщ IыхьэфI къэгъазэ имыIэу зэрытфIэкIуэдари зэрытфIэкIуэдри ди нэкIэ щытлъагъу лъэхъэнэ дыхопсэукIри, абы дызэрыпэщIэувэнум, а Iуэхугъуэ мыщхьэпэр къызэрыдгъэувыIэнум и Iэмалхэм дарилъыхъуакIуэщи, хэкIыпIэ пыухыкIахэр къахуэдмыгъуэтуи хъунукъым. ГурыIуэгъуэщ зы цIыху закъуэм и гуащIэкIэ мыр зэрыпхузэфIэмыхынур, зы гупым и гукъыдэжкIи зэгъэзэхуа зэрымыхъунур. Лъэпкъыр хуеипхъэщ лъэпкъыу къызэтенэным. Хъерыр быным Iэрылъхьэ хуищIыну хущIэкъу адэ-анэр зэгупсысыр хэкукъым, анэдэлъхубзэкъым, атIэ дэнэ щIыпIэ щыпсэуми и Iуэхур абдеж зэрыщызэфIыхьэнрэ а Iуэхур зэрыдэкIын бзэрэ быным къыхузэгъэпэщынырщ. Адэ-анэр бгъэкъуаншэ хъущэну къыщIэкIынкъым абыкIэ, ауэ къыптохьэлъэ я адэжьхэм лъы нэпсым ирагъэфа хэкур апхуэдэу гупыкIыгъуафIэ зэращIымрэ апхуэдиз ныбжь зиIэ анэдэлъхубзэр быным къызэрыжьэдатхъымрэ. Апхуэдэу щыт пэтми, догугъэ, долъэпIастхъэ. Дэ тщыщ куэдым хэкумрэ бзэмрэ тынш дыдэу IэщIыб щащIыфкIэ, зэтеубла мыхъуауэ зыгуэрхэр щыIэу къыщIэкIынущи, ахэращ лъэныкъуэ едгъэзыну дызыхущIэкъур. Дунейпсо Адыгэ Хасэр зэрылажьэ хабзэм къигъэув Iуэхугъуэхэм языхэзщ анэдэлъхубзэр хъумэныр, зыуэ щыт адыгэ тхыбзэ зэгъэпэщыныр. Анэдэлъхубзэр хъумэнымкIэ къудамэм хэтхэр дызэакъылэгъуу ахэр фи пащхьэ къитлъхьэнут. Хуабжьу дыщогугъ абыхэм жэуап пыухыкIа гуэр ягъуэтыну. Псом япэ сызытепсэлъыхьынур зыуэ щыт адыгэ тхыбзэр зэгъэпэщыным ехьэлIа Iуэхугъуэхэрщ. Мыр Дунейпсо Адыгэ Хасэм пщэрылъ зыщищIыжагъэххэу щытщ, гупсысэ пыухыкIарэ унафэ хэхарэ иIапхъэщ. Мы псалъэмакъыр куэдыIуэрэ къызэрекIуэкIам къыхэкIыу ар зыфIэмыщIэщыгъуэжхэр щыIэу къыщIэкIынщ. Апхуэдэу щытми, япэрауэ, зэхэдвгъэгъэкI зыуэ щыт адыгэ литературэбзэрэ зыуэ щыт адыгэ тхыбзэрэ жыхуэтIэ фIэщыгъэхэр. ТIури щIэныгъэм къыхэкIа псалъэщ, тIури техуэрабгъуу зрахьэлIэ щыIэщ. Адыгэр дыкъапщтэмэ, дызэрэзэджэжым теухуауи, дызэрыпсалъэ бзэм ехьэлIауи, дыкъыщыхъуауэ жыхуэтIэ хэкужьым и цIэкIи дызэакъылэгъущ, дызэтохуэ: дыадыгэщ, жыдоIэ, ди анэдэлъхубзэр адыгэбзэщ жыдоIэ, ди адэжь лъахэр Адыгэ Хэкущ жыдоIэ. Закъуэ здэщыIэм тIакъуи щыIэщ, жи адыгэ псалъэжьым. Дызытепсэлъыхьыр бзэращи, адыгэбзэкIэ дызэджэм и кIуэцIкIэ щхьэхуэныгъэ нахуэ гуэрхэм тет псэлъэкIэхэр иIэщ, абы укъыфIэкIмэ, тхыбзэ хабзитIи игъуэтауэ къокIуэкI: зыр къухьэпIэм щыпсэу адыгэхэм къагъэсэбэп (кIахэ адыгэбзэ жыхуэтIэр), мыдрейм къуэкIыпIэм щыIэ адыгэхэр иропсалъэ (къэбэрдей адыгэбзэкIэ дызэджэр). Мыпхуэдэ щытыкIэ итыр ди закъуэкъым, къыщежьэри ди дежкъым. Дунейм тетщ лъэпкъ зыбжанэ, зы лъэпкъыу залъытэжу, арщхьэкIэ тхыбзэ хабзитI яIэ хъуарэ абы ирилажьэу, абыкIэ иризэгурыIуэу. Щхьэж зыхуэшэрыуэ бзэмкIэ дэтхэнэ зыри иропсалъэ, зэгурымыIуэуи, зым жиIэр адрейм зэхимыщIыкIыуи пхужыIэнкъым. Ауэ зэщхьэщыкIыныгъэ яIэ хъуащи, мис ахэр къызэрызэранэкIыным толажьэ. Щапхъэ щхьэкIи жыжьэ сыкIуэнкъым: ермэлыхэм, шведхэм (исвечхэм), тэтэрхэм, нэгъуэщIхэми я бзэм нобэкIэ иIэ щытыкIэр апхуэдэщ. Адыгэхэри аращ. Адыгэбзэм иIэ зэщхьэщыкIыныгъэхэр къыщежьар дыгъуасэкъым. Зыбжанэ щIащ абы лъандэрэ. Ауэ а зэтекIыныгъэхэр апхуэдизу куукъым, зэгъунэгъу ухъуным ухущIэмыкъуну, къэпсэлъыкIэ и IуэхукIи, тхыбзэ и лъэныкъуэкIи зэпэблагъэ хъуным утемылэжьэну. Абы фIыуэ щыгъуазэти аращ ди бзэм елэжьа щIэныгъэлI нэхъыжьхэм я къэхутэныгъэхэм, адыгэбзэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэм щытепсэлъыхькIэ, зэщхьу хэтхэр зэщхьу щыт IэмалхэмкIэ ягъэлъэгъуэну иужь щIыщитар. ТхыбзитI щыувкIэ, тхыгъэ хабзэ гуэрхэри зэфIоувэ, литературэбзэ жыхуэтIэми зиужьу щIедзэ. Адыгэ тхыбзэхэм зэмыщхьу хэлъыр къызэнэкIыным теухуауэ щIэныгъэ зэхуэс мащIэкъым екIуэкIар. Ауэ пыухыкIауэ унафэ къыщащтэфар 1999 гъэм Налшык къалэ щекIуэкIа щIэныгъэ зэIущIэращ. Абдеж иджыри зэ къыщаIэтыжат зыуэ щыт адыгэ литературэбзэмрэ зыуэ щыт адыгэ тхыбзэмрэ я Iуэхур. Абы щыгъуэм зэрыжаIащи, нобэкIэ къэлъагъуэри аращи, зыуэ щыт адыгэ литературэбзэм утепсэлъыхьыныр пасэщ. Нобэ адыгэр дызэрылажьэ литературэбзитIым ящыщу дэтхэнэра зыуэ щыт литературэбзэм лъабжьэ хуэтщIынур? Си щхьэкIэ сыкъапщтэмэ, сэ жэуап сиIэт. Ауэ лъэныкъуитIми языхэзыр зытетым фIырыфIкIэ къыпхутешыну щыткъым. Лэжьыгъэшхуэ зэщIэкIыпхъэ жылэ Iуэхууи щытщ. Ауэ Iуэхум фIыуэ хэлъу зыгуэр щыIэщ. КъэбэрдеймкIэщ япэ тхыбзэ хабзэхэр щызэфIэувар. КуэдкIэ къыкIэрымыхуами, КIахэ лъэныкъуэм иужькIэщ тхыбзэр щызыIэригъэхьар. Къэбэрдей литературэбзэм лъабжьэ хуащIыну диалектыр къыщыхахым гугъуехьышхуэ хэтакъым: къэбэрдей адыгэбзэм и кIуэцIкIэ зэщхьэщыкIыныгъэшхуэхэр хэплъагъуэртэкъым. Шэрджэсым ис беслъэней къуажитIым я псэлъэкIэри къэбэрдей адыгэбзэм зэрытекIышхуэ щыIэкъым, ахэр псынщIэу абы къытеша хъуащ. Къэбэрдейми Шэрджэсми зы тхыбзэ хабзэ псынщIэ дыдэу щызэфIэуващ, ноби абы тетщ. КIахэм Iуэхур нэхъ щылъэхъа хъуащ. Абы иджыри щыIупщIт диалект нэщэнэхэр: бжьэдыгъухэри, кIэмыргуейхэри, хьэтыкъуейхэри, абазэхэхэри, шапсыгъхэри - дэтхэнэми и псэлъэкIэ Iурылът. ТегъэщIапIэ ящIыну диалектым и къыхэхыным псалъэмакъ куэд пылъащ. ИкIэм-икIэжым, бзэм елэжь щIэныгъэлI нэхъыжьхэм ящыщ Iэщхьэмахуэ Даут ар къыхилъхьауэ щытащ: диалектхэм ятепщIыхьмэ, Адыгэ Хэкум щыпсэухэм ящыщу лIакъуитIым я псэлъэкIэм хэдэн хуейщ - е бжьэдыгъу псэлъэкIэм, е кIэмыргуей псэлъэкIэм, жери. Iуэхур абы щынэсым, Даут абы адэкIи и псалъэ хилъхьэфащ: и макъ зэхэлъыкIэкIи, и псалъэуха гъэпсыкIэкIи къэбэрдей адыгэбзэм нэхъ пэблагъэр кIэмыргуеибзэращ, абы къыхэкIыу КIахэм щызэфIэдгъэу-вэ литературэбзэм ар лъабжьэ хуэдвгъэщI, жери. Даут и фIагъышхуэ хэлъщ кIахэ литературэбзэр къэбэрдеибзэм куэду зэрыщхьэщымыкIам. Апхуэдэу щыт пэтми, литературэбзэм ехьэлIа кIэмыргуей-бжьэдыгъу зэныкъуэкъухэм я гугъу щIэх-щIэхыурэ нобэми зэхыдох. КIахэ литературэбзэр кIэмыргуеибзэм зэрытетыр зимыгуапэ гупышхуэхэр щыIэщ. Мы щытыкIэм, къэбэрдей адыгэбзэри къыхэпшэжу, зыуэ щыт литературэбзэм ехьэлIа псалъэмакъыр къызэщIэгъэплъэныр игъуэджэу къызолъытэ. Абы уфIэкIыжмэ, адыгэ литературэбзитIым ящыщу зыр къыхэдмыхынумэ, иджыри зэ къытызогъэзэжри, зым хуэкIуэныр нобэ щIэныгъэ лъабжьэ зымыгъуэт Iуэхугъуэщ. А лъабжьэр щымыIэу арауэ къыщIэкIынкъым, ауэ тегушхуэу къезыгъэжьэнрэ нэзыщIысынрэ мы сыхьэтым тлъагъуркъым. Абы уфIэкIыжмэ, бзэм щIыIэ дыдэу щыхущыт иджырей лъэхъэнэм пщэдейм щыпхуэмыузэхужынкIэ шынагъуэхэр етхьэлIэ хъунукъым. Нэхъыщхьэуи ахэрагъэнущ зыуэ щыт адыгэ литературэбзэм тепсэлъыхьыныр пасэщ щIыжаIэри. Ауэ абы къикIкъым телэжьэни, дызытет тхыбзэхэр егъэфIэкIуэни хуэмейуэ. Хуейщ, ари икIэщIыпIэкIэ… Зи гугъу сщIа, Налшык щекIуэкIа щIэныгъэ зэхуэсым игъуэу къилъытащ илъэс пщIы бжыгъэ хъуауэ бзэ щIэныгъэм къыщызэдащтауэ щызекIуэ алыфбей, пэжырытхэ системэм адыгэ литературэбзэхэр зэрылажьэ тхыбзэхэр хуэшэныр. Мыбы IуэхугъуитI къыхокI: зы лъэныкъуэкIэ, адыгэ алыфбей икIи пэжырытхэ системэхэм хэлъ зэтекIыныгъэхэр егъэкIуэдри бзэр зэщхь ещI, нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ укъеплъмэ, адыгэбзэ псэлъэкIэ системэри зэщхь щIыным толажьэ. Пэжым и хьэтыркIэ жыпIэмэ, Совет къэралыгъуэр щыIэхукIэ Къэбэрдеймрэ Шэрджэсымрэ щыщ адыгэхэмрэ КъухьэпIэмкIэ щыпсэу адыгэхэмрэ зэрызэлъэIэсышхуи зэрызэхыхьэшхуи щыIакъым. ЗэкIэлъыкIуэныр щыщIэхуэбжьар 1990 гъэхэм яужькIэщ. 2000 гъэхэм ди зэпыщIэныгъэхэр апхуэдизкIэ зэтеуващи, нышэдибэ Налшык щыплъэгъуар пщыхьэщхьэм Мейкъуапэ дэту ухуэзэнущ. ИнтернеткIэ напIэзыпIэм зэлъоIэс. Унагъуэ зэдэзыщI щIалэгъуалэм я бжыгъэм фIыуэ хэхъуащ. Адыгэбзэ псэлъэкIитIри зыIурылъхэм я бжыгъэм кIуэ пэтми хохъуэ. А псор гъащIэм езым къыхэкI щапхъэщ. Тхыбзэри щIэныгъэри мыбы пэмыджэжыныр, абы и IуэхукIэ лэжьыгъэ емыгъэкIуэкIыныр игъуэджэ и игъуэджэжщ. Ирипсалъэри ириныкъуакъуэри куэд хъуащи, и Iэмыр зыхэлъ тхыбзэ Iуэхум къэралыр хэмыIэбэныр пщэдей къыхуэмыгъуну апхуэдэщ. УкъыкIэрыхуныр, къыпфIэмыIуэхуныр къезэгъкъым. Дунейпсо Адыгэ Хасэми, жылэ Хасэу зэрыщытыр къэплъытэмэ, мы Iуэхум зы кIэ гуэр иритыныр и хьэкъщ. Зыуэ щыт адыгэ тхыбзэм техьэныр сэ сфIэкъабылщ. Нобэ а зы гъуэгуращ адыгэм диIэр зыуэ щыт адыгэ литературэбзэм дыхуишэу. Шэкъэужуи шынагъуэкъым, пхуэмыгъэIурыщIэжынуи гугъукъым. Дауэ ар къызэрыдэхъулIэнур? 1999 гъэм Налшык щекIуэкIа щIэныгъэ зэхуэсым къыщащта унафэхэр зытеухуар мыхэращ: 1. Макъ дэкIуашэ дазэхэу къэбэрдей адыгэбзэм ЖЬ, Щ, ЩI-уэ щатхыр кIахэ адыгэбзэм къызэрыщыкIуэм хуэдэу тхыныр: ЖЪ, ШЪ, ШI. Щапхъэр: жьы - жъы, бжьэ - бжъэ, жьэн - жъэн, щабэ - шъабэ, щхьэ - шъхьэ, щIын - шIын, гъащIэ - гъашIэ… 2. ДифтонгкIэ зэджэ макъ зэхэлъ УЭ-м и тхыкIэр. КIахэ адыгэбзэм ар зэрыщатхыр О-уэщ. Къэбэрдей адыгэбзэм зэритхым хуэдэу тхыныр къыхахащ: еуэн - еон, уэд - од, уэгу - огу… 3. И, У, Я, Е хьэрфхэм я тхыкIэр тхыбзитIми къызэрапсэлъым тету щытхыныр: ЙЫ, УЫ, ЙА, ЙЭ… 4. Еигъэ къэзыгъэлъагъуэ цIэпапщIэхэр псалъэм пыту тхыныр. Мыбдеж къащтэр кIахэ адыгэбзэм щызекIуэ хабзэращ: ситхылъ, сиунэ, фипщIантIэ… 5. Iупэр хъурей зыщI макъ дэкIуашэхэм я тхыкIэр зы системэм къытешэныр. Мыбдеж къэбэрдей адыгэбзэм игъэлъагъуэ щапхъэр кIахэ адыгэбзэм ищтапхъэт: гуэсын - госын, макIуэ - макIо... Мыращ зэрыхъур. Мы къезбжэкIа Iуэхугъуэхэращ иджыпсту нэрылъагъу дыдэу адыгэ тхыбзитIыр зэгъунэгъу хъун щхьэкIэ хэлъхьапхъэр. Дауи, абы иужькIэ зэлэ-жьын, зэгъэзэхуэн хуеи щыIэщ икIи щыIэнущ. Адыгэ тхыбзэм хэлъхьэыпхъэ зэхъуэкIыныгъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентыр арэзы техъуэри, 2002 гъэм щIышылэм и 24-м къищтащ. Зи тхыбзэ хабзэхэм зэхъуэкIыныгъэ нэхъыбэ зыхалъхьэн хуей къэбэрдеибзэм ирипсалъэхэм а унафэм щеувалIэм, Къэбэрдейм щыпхригъэкIым, мащIэ дыдэ фIэкIа хэзымыгъэувэжыну адрейхэм ар къищIамыщтэм уегупсыс хъунут... Иджы Iуэхур абы нэсащи, Дунейпсо Адыгэ Хасэм хэтхэм сеупщIынут: алыфбеймрэ пэжырытхэмрэ уеIусэныр Iуэху джэгутэкъым, уеблэмэ дзыхьщIыгъуэджэт, дэ къыщытщтакIэ, Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэм ДАХ-м и Конгрессым и цIэкIэ зыхуэдгъазэрэ мы Iуэхум кIэIунэ еттыжатэмэ дауэ хъужынут? Е абы дыхуейкъым, мыр игъуэкъым, жытIэрэ? Апхуэдэуи жыдвгъэIэ… ИлъэсипщIым щIигъу дэкIыжащ ди деж абы и унафэр къызэрихьрэ, ауэ Iуэхур лъэданэ инауэ и пIэ икIкъым. Дяпэ зы илъэситIкIэ адыгэбзэ тхылъхэм я къыдэгъэкIыжынымрэ зэгъэзэхуэжынымрэ Iуэхур хуэкIуэнущ. ЩIалэгъуалэм егупсысыпхъэщ. Налшык щекIуэкIа зэIущIэм и гугъур куэд дыдэрэ Интернетым къыщохъей, Iуэхур щIэмыкIуатэми куэдыр ирипсалъэм къыщымыувыIэу иропыджэ… ЖытIам ипкъ иткIэ адыгэбзэр гъунэгъу зэрыпщIын Iэмалхэр щыIэщ. «Адыгэ псалъэ», «Черкес хэку», «Адыгэ макъ» лъэпкъ газетхэм, я нэхъ мащIэу тхьэмахуэм зэ, адыгэбзэм, лъэпкъ тхыдэм, щIэнхабзэм ехьэлIа тхыгъэхэмкIэ зэхъуажэу лэжьыгъэ къызэрагъэпэщыпхъэт. Газетищми зэхэту ягъэхьэзыр номерхэр зыхуагъэпсыр Iуэху хэхахэрщ. Ауэ адыгэ псэлъэкIитIымкIи тхауэ газетым къытехуэ тхыгъэхэр ар апхуэдэу щытын хуейуэ фIэкIа нэгъуэщIу щIэджыкIакIуэхэм къащымыхъужу я гупсысэр абы хуэшэныр, зы лъэныкъуэм итхар адрей лъэныкъуэм щыIэм къыгурыIуэу, зэхищIыкIыу, ирипсалъэу унэтIыныр Iуэхугъуэшхуэт. Ар ди бзэхэр зэпэблагъэ щIыным хуэгъэпсащ. Ауэ щыхъукIи, апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм кърикIуэр зэман кIэщIым нэрылъагъу хъунущ. Мы лэжьыгъэр зэрыбунэтIыну Iэмалхэр газетым щылажьэхэм нэхъыфIу ящIэнщ. ЦIыхур нэхъыбэу зэджэр газетхэращи, япэщIыкIэ газетищым зрагъэгъуэта IэпэIэсэныгъэр (номер зэгуэтхэр къызэрыдагъэкIыр) нэхъ щIэгъэхуэбжьэн, мыхъуми, тхыгъэшхуитI-щыкIэ Iуэхур убламэ, щхьэпэ хъунт; етIуанэрауэ, купщIэмрэ зэманым пэджэж тхыгъэхэмкIэ лэжьыгъэр къызэгъэпэщамэ, адыгэбзэкIэ къыдэкI газетым еджэхэм я бжыгъэм хэдгъэхъуэфынт. Адыгейми Къэбэрдей-Балъкъэрми къыщыдэкI «Зэкъошныгъ», «Iуащхьэмахуэ» журналхэми яхуеплъэкIыпхъэт. Абы иджыри къыздэсым езыхэм я Iуэху еплъыкIэ яIэжу, лъэпкъ литературэ гупсысэм и зыужьыныгъэм хъарзынэу телажьэурэ екIуэкIащ, иджыри йокIуэкI. Нобэм къигъэувыр аращи, «къэбэрдей литературэ», «шэрджэс литературэ», «адыгей литературэ» щхьэхуэхэр щыIэжкъым, щыIэр зы адыгэ литературэщ. Пэжщ, дэтхэнэми езым и хъэтI, езым и щхьэхуэныгъэхэр иIэжщ, ауэ тхэным гу хуэзыщIахэм гъунапкъэ щыIэхэр якъутэу зы хъуным хуеIэущ зэрыплъагъур, щIэныгъэ къэхутэныгъэу кIуэ пэтми нэхъыбэрэ утыку кърахьэри «зы адыгэ литературэм» теухуа гупсысэхэращи, журналхэми я пащ-хьэ илъхьапхъэт газетхэм ятеухуауэ жытIахэр. Адыгэ Республикэм илъэсым плIэ, КъБР-м хэ къыщыдэкI журналитIым лъэныкъуитIми я тхыбзэкIэ тха тхыгъэшхуэхэр, усэхэр къытрадзэмэ, адыгэбзэ псэлъэкIэхэр зы щIыным телэжьэнут. Мыбы и лъэныкъуэкIэ къыхэгъэщыпхъэщ Адыгей къэрал университетым къыдигъэкI «Псалъ» щIэныгъэ журналыр. Зэхэдз лъэпкъ имыIэу а журналым щIэныгъэ лэжьыгъэхэр лъэныкъуитIми щызекIуэ адыгэбзэмкIэ къытрадзэ. Уеблэмэ, лъэпкъ терминологиер зы щIыным теухуауэ лъэбакъуэшхуэхэр ичащ. Журналхэм я редакцэхэр зэлъэIэсу, тедзэным хуагъэхьэзыр тхыгъэхэмкIэ зэхъуэжэныр иджыри къыздэсым ча мыхъуа лъэбакъуэшхуи хъунут, абы хуэфащэ пщIэ къэкIуэну зэманхэми щигъуэтыжынут. ЕтIуанэу сызытепсэлъыхьынур адыгэбзэр нобэ зэрыт щытыкIэрщ, къытщIэхъуэ щIэблэм абы хуиIэ щытыкIэм кIуэ пэтми зихъуэжу, зригъащIэми хъууэ, имыщIэми зэранышхуэ къыхуэмыхъуу къызыщыхъухэм я бжыгъэм хэхъуэ зэпыту зэрыкIуэращ. Мыри, дауи, узыгъэгупсысэн Iуэхущ, мы гуныкъуэгъуэри здэщыIэр хамэщI щыпсэу адыгэхэм я деж и закъуэкъым, мы гузэвэгъуэм егъэпIейтей хэкурыс адыгэхэри. Мыбы ехьэлIауэ куэдыщэ пхужыIэнущ. Абы щхьэкIэ щIэныгъэ зэхуэс псо зэхуэпшэсын хуейт. Апхуэдэу щыт пэтми, къыхэкъузыкIыпауэ Iуэхугъуэ зытIум я гугъу сщIынут: щIэгъэхуэбжьауэ адыгэбзэр ди щIэблэм зэредгъэджын Iэмалымрэ Терминологие гуп фIэкIыпIэншэу зэрызэхуэшэсыпхъэмрэ… 1. Нобэ адыгэбзэр зэрыддж тхылъхэм нэмыщI ди щIалэгъуалэр анэдэлъхубзэм зэрыдедгъэхьэхын Iэмал куэд хэлъу тхылъ дыхуейщ. Дуней псом къыщащтауэ зы Iэмал къыщокIуэкI иджыпсту: «Тыркубзэр - мазищкIэ», «Инджылызыбзэр - мазищкIэ», «Урысыбзэр - мазищкIэ». Адыгэбзэм а Iэмалыр е абы ещхь гуэр къетхьэлIэмэ, и щхьэпэ къыдэмыкIыну пIэрэт? Мазищ зэрыжаIэм къикIыркъым а пIалъэм къриубыдэу бзэр къызыхуэтыншэу зэбгъэщIэфыну. Абы къигъэувыр аращи, лъабжьэ богъэтIылъ, ар уиIэ хъуа нэужь, къыкIэлъыкIуэ лъэбакъуэр фIэкIыпIэншэу пчын хуейуэ зы щытыкIэ уригъэувэу. Дунейпсо Адыгэ Хасэр лъэпкъ хасэшхуэу зэрыщытыр къэлъытауэ, зыхуэфащэ IуэхущIапIэхэм зыхуезгъэгъэзэнут мыбыкIэ. Дауи, апхуэдэ тхылъым, «Адыгэбзэр - мазищкIэ» жысIэнщи, зэпэдзыж псалъалъи, диски гъусэ хуэсщIынут… 2. ХамэщI къикIыу зыплъыхьакIуэ мащIи къакIуэркъым ди Хэку. Ауэ щыхъукIэ мыбы и щIыдэлъху лъэпкъхэм я бзэкIэ тхауэ е къуажэм и цIэу, е уэрамым и цIэу, е IуэхущIапIэхэм я цIэу плъагъун щыIэкъым. Си щхьэкIэ сызрихьэлIа Iуэхугъуэщ тэтэрым къикIа зы щIэныгъэлI гуэрым, тIэкIуи ауан хэлъу, зэрыжиIэгъар: сэ Алтаи, Туваи, Башкырми, Шэшэнми, Осетиеми сыщыIащ, ауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым хуэдэу и лъэпкъ щызмылъэгъуа щIыналъэ срихьэлIакъым. Ар сыту, жысIэу сыщыщIэупщIэм, зы IуэхущIапIэ срихьэлIэри, жиIащ, къыфIэдзапIэ иIэт бзищкIэ тетха хуэдэуи, ину сыдыхьэшхат, жи, къызэрыщIэкIымкIэ, урысыбзэм и мызакъуэу, адыгэбзэри балъкъэрыбзэри тынш дыдэу схузэгъэщIэнущ, жысIэри. Слъагъур нэхъри си фIэщ ирисщIыну къэскIухьати, зыфIэмылъым фIэлътэкъым, зыфIэлъыр япэу слъэгъуам хуэдэт, жиIащ. Абы къикIращи, апхуэдэ къыфIэдзапIэхэм, къэрал IуэхущIапIэу щытхэм, къытратхэм кIэлъыплъ зыри щыIэкъым, абыхэм адыгэбзэу ятетхари, зэрытха щIыкIэри зи уасэ щыIэкъым. Ардыдэр ехьэлIащ ди жылэхэмрэ уэрамхэмрэ я цIэхэми. Израилыр сигу къокI. Журтхэмрэ хьэрыпхэмрэ, зэрытщIэщи, щIагъуащэу зэхущыткъым, ауэ зы уэрами, зы жыли плъагъунукъым а щIыпIэм и цIэр бзищкIэ темытхауэ: журтыбзэкIэ, хьэрыпыбзэкIэ, инджылызыбзэкIэ. ЗэщIэкъуауэ, нэм къемызауэу, екIуу зэгъэпэщауэ щхьэж и бзэкIэ тетхащ. Бзищыр хьэлъэщ жыдоIэ, мыр щапхъэкъэ? Ди бзэм къыхыхьапхъэ псалъэхэмрэ ахэр ипкъ зэридгъэувапхъэми кIэлъыплъыпхъэщ. Бзэм псалъэ къыхэмыхьэу хъуркъым, къыщыхыхьэкIэ и къыхыхьэкIэми егупсысыпхъэщ. Апхуэдэ дыдэуи, бзэм и IэмалхэмкIэ псалъэхэр къызэрыгъэхъупхъэми елэжьыпхъэщ. «Адыгэ псалъэм» иригъэжьат апхуэдэ зы хабзэ дахи, иужьрейхэм щIэужьыхэжащ. Мы псор щIыжысIэращи, Терминологие гуп зэхуэтшэсыну и чэзу хъуащ. Си гугъэмкIэ, мы Iуэхугъуэри Дунейпсо Адыгэ Хасэми къыхилъхьэфынут. Къэралыгъуэ ди цIэу, абы и нэщэнэхэр Конституцэм ихъумэу иту, апхуэдэпщIэ фIэкIа къэралыбзэу щыт адыгэбзэм имыIэу аркъудеи хъунукъым, уезэгъынкIи Iэмал иIэкъым. КъытщIэхъуэ щIэблэм ар къытхуигъэгъунукъым.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "tabish.txt" }
Гитанджали ЗэзыдзэкIар Кърымщокъал Маринэщ - 1 - Уэ мылIэжыныпсэ къысхэплъхьащ – аращ уи Iэмырыр. Уэ иджырурэ иджыри ибоунэщIыкI кхъуэщын пIащIэр, ух уимыIэу абы гъащIэщIэ ибогъахъуэ. Уэ бгыхэми тафэхэми здипхащ а къамыл бжьамий цIыкIур, сыт щыгъуи щIэщыгъуэ макъамэщIэхэр къибгъэкIыу. Зи еIусэкIэр сигу хэпщIэ уи Iэхэр сигу цIыкIум къылъэIуса иужь, гуфIэгъуэм зэщIеIэтэри жамыIа псалъэ къегъэщI. Уэ уи тыгъэ мыкIуэщIхэр мис мы си Iэ IэщIэмащIэхэмкIэ къыпIызох. ЛIэщIыгъуэхэр блокI, уэ иджыри къыбокIут, итIанэми из хъукъым. - 2 - Сыусэну унафэ къыщысхуэпщIкIэ, къысщохъу, си гур гушхуэныгъэм къызэIигъэчын хьэзыру, уи нэкIум соплъэри си нэм нэпс къыщIоувэ. Си гъащIэм пхъашагъэуи мыкIуэмытагъэуи хэлъ псори зы IэфIыгъэ закъуэм хошэпсыхьри си щхьэгъэщхъым и дамэхэр зэщIех, тенджызым гуфIэу щхьэпрылъэтыкI бзум хуэдэу. Сэ сощIэ си усыгъэр зэрыпфIэфIыр. Сэ сощIэ уи пащхьэ уэрэджыIакIуэ къудейуэ сызэритыр. Си уэрэдым и дамэ инхэм я нэзхэмкIэ сылъоIус, гъунэгъу зыхуэсщIыну зэи сызыщымыгугъ уи лъакъуэхэм. Уэрэд жыIэным и гуфIэгъуэм чэф сищIауэ, зысщогъупщэжри, ныбжьэгъукIэ сыноджэ уэ, си пащтыхь. - 3 - Сэ сщIэкъым уэ дапхуэдэу уэрэд жыпIэми, си пащтыхь. Сэ сыт щыгъуи сигу икIауэ щыму сынодаIуэ. Уи макъамэм и нурым дунейр къегъэнэху. Уи макъамэм и псэхэлъхьэж бауэкIэр зы уафэм пхокIри адрейм пхохьэ. Уи уэрэдым и макъамэ щыпкъэм мывэ блын псори икъутэурэ япэкIэ пхрокI. Си гур уи уэрэдым гъусэ зыныхуищIыну мэпабгъэ, ауэ къилъыхъуэ макъыр игъуэткъым. Сыпсэлъэнут, ауэ псалъэхэр уэрэду зэкIэлъыкIуэкъым, икIи, сыкъэпцIауэ, жызоIэ: - Уей, си пащтыхь, Уи уэрэдым и хъы мыухыжхэм хэнэри, мы си гур пщылI пщIащ. - 4 - Си гъащIэм и гъащIэ, сэ сыт щыгъуи сыхущIэкъунущ си Iэпкълъэпкъыр къабзэу щытыну, - сощIэ псэхэлъхьэж уи Iэхэр къызэрыслъэIусыр. Сэ сыт щыгъуи сыхущIэкъунущ си гупсысэр пцIым пэIэщIэ сщIыну, - си псэм акъылым и нурыр щызыгъэбла хьэкъыр уэращи. Сэ сыт щыгъуи мы си гум Iейр исхуну сыхэтынущ, си лъагъуныгъэри гъагъэ зэпыту схъумэнущ, си гум ику къабзэм ухэсщи. Сэ сыхущIэкъунущ си лэжьыгъэхэм уэ укъыхэзгъэщыну, - сылэжьэну къару къысхэзылъхьар уи лъэщагъращи. - 5 - СыщIолъэIу зы дакъикъэкIэ уи гущIэгъу – сызыбгъэдэгъэс. Си Iэм IэщIэлъ лэжьыгъэр иужькIэ нэзгъэсыжынщ. Си гур уи нэкIу имыплъэм псэхугъуи мамрыгъи иIэкъым, си лэжьыгъэри кIэ зимыIэ гугъуехьхэм ящыщ мэхъу. Нобэ гъэмахуэр хэщэтыкIрэ Iущащэу си щхьэгъубжэм къыIухьащ, хадэ гъэгъам и пщIантIэм бжьэхэр ироу я уэрэдхэр жаIэу. Иджы мамыру уи пащхьэ сисыну и чэзущ, хущIыхьэгъуэмрэ даущыншагъэмрэ сыхэсу гъащIэм сыхуоусэну. - 6 - Къыпыч мы удз гъэгъа цIыкIури, къащтэ умычэнджащэу! Сэ сошынэ ар гъуэлэжу къыпыхужынкIэ. Уэ уи цIу щыгъэ зэфIэщIахэм ар хуэмыдэнкIи хъунущ, ауэ, пщIэ хуэщIи уи IэмкIэ щабэу убыди къыпыч. Сэ сошынэ къэзмыщIэурэ махуэр кIуэуэ къурмэным и зэманыр блэзгъэкIынкIэ. И тхьэмпэхэр мыдыхьэрэнми, и мэр кIащхъэми, уи щхьэ папщIэ къэгъэсэбэп а удз гъэгъар, мыгувэ щIыкIэ. - 7 - Си уэрэдым и фащэр щидзащ. Абы щыгъын дахи фIэлъхьэ лъапIи щыгъкъым. Налкъутналмэсхэм ди зэгухьэныгъэр къакъутэжынут; уэрэ сэрэ ди зэхуакум къыдэувэнут, я сыс макъым уи Iущащэр щIихъумэнут. УсакIуэм и пагагъэу схэлъыр уэ узэрыслъагъуу мэкIуэд. Уей, пащтыхь-усакIуэ, сэ уи лъабжьэм сыщIэлъщ. Си гъащIэр къызэрыгуэкIрэ захуэу сыгъэухуэ къудей, бжьамий псыгъуэм хуэдэу, уэ ар пшыналъэкIэ бгъэнщIын папщIэ. - 8 - Сабийуэ пащтыхь щыгъын зыщыгъыр, пщэрылъ лъапIэ зи пщэ илъыр джэгуным димыхьэхыж мэхъу, лъэбакъуэ къэс абыхэм ялъахъэри. ИупIышкIун е иуцIэпIынкIэ шынэурэ, абы дунейм пэIэщIэу зиIыгъщ, уеблэм, зигъэхъеин мэшынэ. Анэ, щIэращIагъэм и лъэхъур сэбэпыншэщ, цIыхур щIы къабзэм пэIэщIэ ящIмэ, цIыху гъащIэ къызэрыгуэкIым и бжэм щIыхьэну хуитыныгъэ кърамытмэ. - 9 - Уа, цIыху делэ, уи лъакъуэхэм уаIыгъыну уащымыгугъ! Уа, тхьэмыщкIэ, зи бжэм лъэIуакIуэ къыIухьэжа! Уи хьэлъэр псори зыхьыфынум и Iэм IэщIэлъхьи, зэи ущIегъуэжу укъызэмыплъэкIыж. Уи бауэкIэр зылъэIэс уэздыгъэм и нэхур занщIэу егъэункIыфI. Ар – гуэныхьщIэкъущ, Iэпумых абы и Iэ мыкъабзэм и тыгъэхэр. Лъагъуныгъэ къабзэм къыуитым фIэкIа зыми зыри къыIумых. - 10 - Мис уи лъабжьэр, абдеж уи лъакъуэхэр щопсэху, нэхъ тхьэмыщкIэхэри, дэхуэхахэри, зигу кIуэдахэри здэщыIэр аращ. Уи пащхьэ зыщызгъэщхъыну иужь сыщихьэкIэ, си щхьэщэр лъэIэскъым уи лъакъуэхэр здэпсэху лъащIэм, тхьэмыщкIэхэри, дэхуэхахэри, зигу кIуэдахэри здэщыIэм. Пагагъэр зэи ихьэфынукъым уэ арэзыныгъэм и щыгъынхэр пщыгъыу тхьэмыщкIэхэм, дэхуэхахэм, зигу кIуэдахэм уащригъусэ щIыпIэм. Си гум зэи гъуэгу хуигъуэтынукъым уэ нэхъ тхьэмыщкIэхэм, дэхуэхахэм, зигу кIуэдахэм уащыдэуэршэр щIыпIэм. - 11 - Къэгъанэ уи гимнхэр, зэчырхэр, щыгъэ бгъажэхэр. Хэт уэ щытхъу зыхуэпIэтыр зи бжэ гъэбыда мэжджытым и къуагъым укъуэсу. Зэтех уи нэхэри уэ къэплъагъунщ уи Тхьэр уи пащхьэ зэримытыр. Ар щыIэщ вакIуэм щIыгулъ фIыцIэр здивэ щIыпIэм, лъагъуэ ухуакIуэм мывэхэр здикъутэм. Ар ягъусэщ абыхэм дыгъэвэхми, уэшхыжэми, Абы и щыгъынхэри сабэ защIэщ. Щыдз уи щихъ джанэри абы хуэдэу щIылъэ сабэм ех. Щхьэхуитыныгъи? Дэнэ щыIэ а щхьэхуитыныгъэр? Езы ДыкъэзыгъэщIам гуфIэжу къэгъэщIыгъэм и кIапсэхэр иубыдыжащ. Ар дэ къыдэпхащ игъащIэкIэ. Уи нэкъыфIэщIхэм къыхэкIи зэгъэтIылъэкI удз гъэгъахэмрэ щIыхь псалъэхэмрэ. Сыт хэлъыр уи щыгъыныр зэIытхъыным, е уфIеиным? Хуэзэ Абыи къанэ игъусэу, пщIэнтIэпсыр епкъуэкIыу лажьэ. - 12 - КIыхь хъуащ си зекIуэр, кIыхьщ си гъуэгури. Сэ япэ пщэдджыжь бзийм и шыгум сису сыкъыдэкIри пысщащ си зекIуэм, пшахъуэщIым, вагъуэ, планетэ куэдым си лъэужь къатезнэу. Псом нэхъ жыжьэр уи деж нэхъ гъунэгъу дыдэу уIузышэ гъуэгуращ, щIэныгъэхэм я нэхъ гугъури къызэрыгуэкI пшыналъэр уэзыгъащIэращ. ГъуэгурыкIуэр хамэбжэ псоми теуIуэн хуей мэхъу, езым ейм нэсын папщIэ, икIи дуней щIыIур къызэхикIухьын хуей мэхъу икIэм икIэжым щхьэщэ щIыпIэ лъапIэм къекIуэлIэн папщIэ. Си нэхэр дэнэкIи щызеплъащ зэтеспIэу жысIэху: «Уэ умис!». УпщIэ «Дэнэр?» нэпс ткIуэпс минхэм хоэлъэсэжри дунейм къытолъадэ толъкъуныр и жэуапу: «Сэ сымис». - 13 - Сэ жысIэну сыкъэкIуа уэрэдыр иджыри къыздэсым жысIакъым. Сэ си махуэхэр згъэкIуащ пшынэ Iэпэпсхэр тезухуэурэ згъэлалэу. ЕуэкIэр пцIыт, псалъэхэр техуэртэкъым; си гум щIэкъуныгъэм и хьэзабт ишэчыр. Гъэгъам зызэIуихакъым; жьыбгъэр гъунэгъуу хэщэтыкIыу аркъудейщ. Сэ слъэгъуакъым абы и нэкIур, зэхэсхакъым и макъри, зэхэсхар си унэм и гупэм илъ гъуэгум кърикIуа и лъэбакъуэ щэхурщ. Махуэ имыухыжыр ихьт абы лъэгум тIысыпIэ щыхуэсщIыху; ауэ уэздыгъэр хэгъэнакъыми, Ар си унэм къезгъэблэгъэфыркъым. Сэ сопсэу абы сыIущIэным сыщыгугъыу, ауэ иджыри сыIущIакъым. - I4 - Сэ куэдым сыщIохъуэпс, си макъри мэлъаIуэ, ауэ уэ сыт щыгъуи сыкъыбогъэл уи «Хьэуэ» ткIийхэмкIэ; икIи а уи гущIэгъу ткIийм си гъащIэ псор ипсыхьащ. Махуэ къэс уэ къысхубогъэфащэ сызыщIэмылъэIуа къызэрыгуэкI тыгъэ лъапIэхэр – мы уафэри дуней нэхури, мы Iэпкълъэпкъри, гъащIэри псэри, - хъуапсэ егъэлеяхэм я шынагъуагъэм сыщыпхъумэу. Къохъу зэман, къарууншагъэкIэ си бзэр щызэрынэ, сыкъэушу си плъапIэр къыщыслъыхъуэ, ауэ уэ гущIэгъуншэу зысфIыбогъэпщкIу. Махуэ къэс уэ нэхъри къабыл сыбощI, си хъуапсэ щтэIэщтаблэ къарууншэхэм я шынагъуагъэм сыщыпхъумэурэ хьэуэ къызжепIэу. - 15 - Сэ мыбдеж сыщыIэщ сыпхуэусэн пащIэ. Мы уи уардэунэм сэ тIысыпIэ щызиIэщ зы къуагъэнапIэм. Уэ уи дунейм сэ къалэн щызиIэкъым; си гъащIэ купщIэншэр уэрэд мыхьэнэншэхэм хокIуадэ. ТхьэлъэIу щэхум и зэманыр жэщ ныкъуэм мэджджыт кIыфIым къыщысмэ, къысхуэщI унафэ, си пащтыхь, уи пащхьэ уэрэдкIэ сынихьэну. Пщэдджыжь хьэуам дыщэ арфэм и макъыр къыхэджэмэ, уи пащхьэ сыниувэну сэри къызэджэ. - 16 - Сэ срагъэблэгъат мы дунейм и махуэшхуэм, абы игъэлъэпIащ си гъащIэр. Си нэхэм ялъэгъуащ, си тхьэкIумэхэми зэхахащ. Мы ефэешхэшхуэм сэ щызикъалэныр си лирэм сриджэгунрати, слъэкI къэзгъэнакъым. Сэ иджы сыщIоупщIэ, къэсауэ пIэрэ а зэманыр, сыныщIыхьэу уи нэкIу сиплъэ хъуну, уи пащхьэ щыму сыпхуэпщылI щыхъунур? - I7 - Сэ лъагъуныгъэм сыпэплъэж къудейщ, и IэмыщIэм зислъхьэну сыхьэзыру. Мис аращ сэ сыкъыщIэгувари, апхуэдэ щыуагъэхэри щIысIэщIэкIари. ЦIыхухэр къысхуокIуэ я хабзэрэ я унафэрэ яIыгъыу, быдэу сапхын папщIэ; ауэ сэ сыт щыгъуи абыхэм саIэщIокI, лъагъуныгъэм и IэмыщIэ зислъхьэну сыпэплъэу аркъудейщи. Сэ цIыхухэр къысхуопсалъэ икIи зыри зыфIэмыIуэхукIэ къызоджэ; шэч хэмылъу, пэжщ абыхэм жаIэр. Сату махуэр иухащ, Iуэху зиIэхэми я Iуэхухэр зэфIагъэкIащ. Сэ къызэджэну къакIуэу сыкъэзымыгъуэтахэм губжьауэ IуагъэзыкIыжащ. Сэ лъагъуныгъэ къудейщ сызыпэплъэр, и IэмыщIэ зислъхьэну. - 18 - Пшэхэр пшэхэм щIауфэри кIыфI мэхъу. Уа, лъагъуныгъэ, а зы закъуэм сежьэу бжэм щхьэ сыIубгъэт сыпэплъэу? Махуэныкъуэ лэжьыгъэм и напIэзыпIэ псэхугъуэншэхэм сэ гупым саригъусэщ, ауэ мы махуэ кIыфI зеиншафэм сэ уэращ сызыщыгугъыр. Сэ уи нэкIур сомыгъэлъагъумэ, уи щIыб къысхуэбгъэзапэмэ, сщIэкъым уэшхылэ сыхьэт кIыхьыр зэрызгъэкIуэнур. Соплъри соплъ уафэ жыжьэм и кIыфIагъым, сигуми къиущыхьурэ жьыбгъэ мыувыIэм и гъусэу мэщэIу. - 19 - Уэ укъызэмыпсэлъэнумэ, сэ уи гур щымагъэкIэ згъэнщIынущ, куэди езгъэшэчынущ. Сэ щыму сыпэплъэнущ вагъуэхэр зэрыз жэщ плъырым хуэдэу, апхуэдэу си щхьэри лъахъшэу ехьэхауэ. Пщэдджыжьыр фIэкIыпIэншэу къэсынущ, кIыфIыгъэр кIуэсэжынурэ уи макъыр щIылъэм тез хъунущ, уафэр дыщэпс уэркIэ къызэпхитхъыу. Уи псалъэхэри уэрэд хъуауэ зыщаIэтынущ бзу абгъухэм я щыгу, уи ежьухэри си мэз бгъуэщIхэм удз гъэгъауэ щыгъэгъэнущ. - 20 - Лотосыр щыгъэгъа махуэм, еу-уей, си гупсысэхэр сIэщIэкIат, ауэ сэ ар къэсщIакъым. Си матэр нэщIт, удз гъэгъари гулъытэншэу къэнащ. Зауэ–зауэу гупсысэ нэщхъейхэм сызэщIаубыдэрт, пщIыхьэпIэм сыкъыхэщтыкIти сыкъыщылъэтырт, ипщэ жьыбгъэм къихьа мэ IэфIхэм я лъэужь гуакIуэр зыхэсщIэрт. А IэфIагъ къапщIэ къудейм си гур зэшым иригъэгъэузырти къысфIэщIырт, ар, зи кIэм нэблэгъа гъэмахуэм и бауэкIэ пщтыру. Сэ сщIэртэкъым абы щыгъуэм ар апхуэдэу гъунэгъуу, ар сысейуэ, а IэфIагъ нэгъэсар сэ сигу дыдэм и лъащIэм къыщыгъэгъауэ. - 21- Сэ си кхъуафэжьейр сутIыпщын хуейщ. Сыхьэт бжыгъэ хьэлъэхэр псы Iуфэм щызогъакIуэ – сыту сынасыпыншэ! Гъатхэм гъэгъэн иухри IукIуэтыжащ. Мис иджы, удз гъэгъа гъуэлэжа IэплIакIуэр сIыгъыу сежьэурэ созэш. Толъкъунхэр къызэрехьэжьащи, псы Iуфэм Iут жыгхэм я жьауэм тхьэмпэхэр лъатэурэ йохуэх. Сыт хуэдэ нэщIыгъэ уи нэр зытенар? ЗэхэфщIэркъэ хьэуам хэт тепыIэншагъэ блэлъэтыр, адрей псы Iуфэм къиIукI уэрэд жыжьэм и макъыр? - 22 - Уэшхрилэ мэкъуауэгъуэ мазэм и жьауэ Iувхэм уэ упхрокI лъагъуэ нэрымылъагъукIэ, жэщым хуэдэу ущыму, хъумакIуэ псоми уаIэщIэкIыу. Нобэ пщэдджыжьым и нэхэр зэтрипIащ, къуэкIыпIэ жьыбгъэм и жьгърууагъри къыфIэмыIуэхуу, уафэ щхъуантIэ мыжейри пшагъуэ IувкIэ иуфащ. Мэзхэм уэрэдхэр щыувыIащ, унэ псоми я бжэр хуащIыжащ. Уэ – угъуэгурыкIуэ закъуэщ мы гъуэгу нэщIым. Уей, си ныбжьэгъу закъуэ, фIыуэ слъэгъуа, си унэбжэхэр зэIухащ, уаблэмыкI абыхэм пщIыхьэпIэм хуэдэу. - 23 - Мы жэщ борэным уи лъагъуныгъэ гъуэгум утехьа уэ, си ныбжьэгъу? Уафэр мэщэIу, гухэщIым иубыда гум хуэдэу. Сэ сыжеифкъым мы жэщым. Зауэ-зауэурэ бжэр Iузохри кIыфIым сыхоплъэ, си ныбжьэгъу. Сэ зыри си гупэкIэ щыслъагъукъым. ДэнэкIэ уи гъуэгур здыпхырыкIыр? Сыт хуэдэ псы фIыцIэм и Iуфэ, сыт хуэдэ мэз жыжьэ зэхэуфам и лъапэ, сыт хуэдэ кIыфIыбг куум и лъащIэ къызэбнэкIауэ упIащIэу си деж укъызэрыкIуэр, си ныбжьэгъу? - 24 - Махуэр иухамэ, бзухэми уэрэд жамыIэжмэ, жьыбгъэри езэшу увыIамэ, къыстепхъуэ кIыфIыгъэм и тепхъуэ Iувыр, уэ щIым жейм и тепхъуэр зэрытупхъуэм хуэдэу, пшапэ зэхэуэгъуэм зи тхьэмпэхэхэр щабэу зыкъуэплъхьэжа лотос хужь гъуэлэжым хуэдэу. Зи гъуэгуанэр имыухыурэ зи къэлътмакъыр нэщI хъуа гъуэгурыкIуэм, зи щыгъын зэхэчэтхъар сабалъэм, зи къарур щIэкIам, тхьэмыщкIагъэмрэ укIытэгъуэмрэ щхьэщыхи и гъащIэр къэгъэщIэрэщIэж, удз гъэгъар уи жэщ IэфIым къызэригъэпсэужым хуэдэу. - 25 - Жэщ зэшыгъуэм хуит сыщI сымыныкъуакъуэу уэ сыпщыгугъыу сыжеижыну. Хуит сыщI си псэ къарууншэр хуэщхьэхынэу уэ пхуэпщылIын папщIэ хэзмыгъэзыхьыну. Махуэм еша нэхэм уэ жэщ тепхъуэр ятыбопхъуэ, ахэр жану, къигуфIыкIу къэбгъэушыжын папщIэ. - 26 - Ар къакIуэри къызбгъурытIысхьащ, ауэ сэ сыкъэушакъым. Уа, нэлатыр зытехуэн жей! Уа, сыту сынасыпыншэ сэ! Ар къэкIуащ жэщыр щэху щыхъуам; и арфэр IэщIэлъти си пщIыхьхэри абы и макъамэм дежьут. Еууей, сыт си жэщхэр апхуэдэу щIэкIуэдыр? Сыт сэ сыIуплъэ щIэмыхъур зи бауэкIэр си жейм къылъэIусым? - 27 - Нэху – уо, дэнэ щыIэ нэхур? ЩIэгъанэ ар уи хуеиныгъэ мафIэмкIэ. Мис уэздыгъэр, ауэ пыгъэнакъым, аращ уэ уи насыпыр, сигу! УлIам нэхъыфIти абы нэхърэ! Уэлбанэр къытоуIуэ си бжэ, абы и хъыбарым жеIэ уи зиусхьэныр мыжейуэ, жэщ кIыфIым къоджэу лъагъунлъагъу, къыпхуэзэну хуейуэ. Уафэр пшэхэм щIахъумащ, уэшхри зэпымыууэ къошх. Сэ сщIэкъым зызыгъэхъейуэ схэтыр, сыт хъуну ар? Зэуэ къэлында уафэхъуэпскIым си нэхэр нэхъри кIыфI къещIри си гум гурыгъуазэкIэ къелъыхъуэ жэщ макъамэр къыздиIукIым кIуэ гъуэгур. Нэху – дэнэ щыIэ нэхур? ЩIэгъанэт ар уи хуеиныгъэ мафIэмкIэ. Щыблэр мауэ, жьыбгъэр къугъыу пшахъуэщIым щызоуэ. Жэщыр кIыфIщ мывэ фIыцIэм хуэдэу. Сыхьэтхэр кIыфIыгъэм хэту бломыгъэкI. Лъагъуныгъэм и уэздыгъэр уи гъащIэмкIэ пыгъанэ. - 28 - Ерыщщ си лъахъэ кIапсэхэр, ауэ си гур мэуз зэпысчыну сыхуежьэм. Хуитыныгъэ – аращ сэ сызыхуейуэ щыIэр, ауэ соукIытэ абы сыщыгугъын. Сэ шэч къытесхьэркъым уэ узэрыкъулейм икIи узэрызиныбжьэгъуфIым, ауэ сэ тегушхуэныгъэ схурикъукъым си пэшым щIэз цIугъэнэ къомыр щIэспхъэнкIыкIыну. Сэ степIа щэкIыр – хьэдэмрэ лIэныгъэмрэ я джэбынщ; сэ слъагъу хъукъым ар, итIанэми зызокъузылIэ сфIэфIу. Си щIыхуэхэр иныIуэщ, гуэныхьхэр куэдыкIейщ, щэхуу сыщIэукIытэри хьэлъэщ, итIанэми, си хъер сыщыщIэлъэIукIэ, сышынэу сокIэзыз, си лъэIур къэхъумэ, жысIэу. - 29 - Си цIэкIэ сызэджэр хьэпсым исщ. Сэ сыт щыгъуи а блын хъурейр зэрыдэсщIеиным сытолажьэ, махуэ къэси селэжьыху, абы нэхъ ину уафэмкIэ зиIэтыху, абы и жьауэ Iувым сэ си щыIэныгъэм и купщIэр сфIыхокIуадэ. Сэ срогушхуэ а блын абрагъуэм, пшахъуэкIи ятIагъуэкIи сопсыхь, дзэлытI гуэри а цIэм къыхуэмынэн хуэдэу, итIанэми, гугъу сехь пэтми, си щыIэныгъэ купщIэр сIэщIокI. - 30 - Сэ си закъуэ сыкъыдэкIащ ди зэхуэзапIэм сыкIуэну. Ауэ хэт мы кIыфI даущыншэм хэту къыскIэлъыкIуэр? Сэ лъэныкъуэкIэ сыIуокIуэт зыщхьэщызгъэкIын щхьэкIэ, ауэ абы сыIэщIэкIыфкъым. Абы и къызыфIэщIыжыныгъэмкIэ щIы сабэр къеIэт, макъ инкIэ псалъэ къэс зыкъыспещIыж. Ар – сэ схэщIыхьа псейращ, - си пащтыхь, ищIэкъым абы укIытэ; ауэ сэ соукIытэ ар си гъусэу уи бжэ сыIухьэн. - 31 - « КъызжеIэт, гъэр, хэт узэщIиIулIа?» - «Си зиусхьэным», - жиIащ гъэрым. - Сэ си гугъэт дунейм тет псоми беягъэрэ лъагагъэкIэ сафIэкIыу, си сундыкуми дэз дыщэ зэхуэсхьэсат си зиусхьэным хуэсхьын си гугъэу. Ауэ жейр къыстекIуэри си пащтыхьым хуэзгъэхьэзыра пIэм сыгъуэлъати, сыкъэушыжа иужь, сундыкум гъэру сыдэсу къыщIэкIащ. - Гъэр, къызжеIэт-тIэ, хэт ищIа мы церп быдэхэр? - Сэ езым, - къитащ жэуап гъэрым, - гугъуехь ин пылъу къыхэзупIэщIыкIат. Сэ си гугъэт зыри зытемыкIуэ си лъэщагъым дуней псор гъэру иIыгъыфыну, сэ хуиту дунейм сытетыну. Жэщи махуи спсыхьащ ар мафIэ пщтыррэ уадэ хьэлъэкIэ. Лэжьыгъэр суха иужь, нэрынэ псори быдэу хьэзыр щыхъум, церпым сэ сызэщIиIулIэжауэ къыщIэкIащ. - 32 - Мы дунейм фIыуэ сыкъэзылъагъуу тетхэм Iэмал псомкIи сызыIэрагъэхьэну хущIокъу. Ауэ псом нэхъ нэхъыбэу фIыуэ сызылъагъу уи лъагъуныгъэр абы хущIэкъуркъым, уэ си хуитыгъэр къысхубогъанэ. Си закъуэ сыкъагъанэмэ сщыгъупщэн къафIэщIу, ахэр сытым дежи си гъусэщ. Ауэ махуэр махуэм кIэлъыкIуэми, уэ укъэлъагъуэкъым. Си тхьэлъэIухэмкIэ зыпхуэзмыгъазэми, си гум ущысхъумэми, уэ къысхуэпщIа лъагъуныгъэр зыпэплъэр си лъагъуныгъэрщ. - 33 - Махуэу ахэр си унэ къыщIыхьэри къызжаIащ: - «Дэ мыбдеж дубыдынур пэш нэхъ цIыкIу дыдэращ». Абыхэм жаIащ: «Дэ дыбдэIэпыкъунущ уи Тхьэм ущыхуэлажьэкIэ, абы и хъеру къыплъысым щыщу ди Iыхьэ мащIэм фIэкIи къэтщтэнукъым». Мис апхуэдэу ахэр къуагъым къуэтIысхьэри щэхуэу икIи Iэсэу къуэсащ. Ауэ жэщ кIыфIыр къэсащи солъагъу, хьэщхьэрыIуэ зэрыгъэкIийм хуэдэу си тхьэлъэIупIэ гъэпщкIуам къызэрыщIэхуауэ, си Тхьэм и тыгъэ лъапIэу телъхьэпIэм телъхэр мыукIытэж нэпсеягъэкIэ зэрапхъуэ. - 34 - Сэ сщыщу къремынэ зыри, уэ усэращ щIыжысIэфын мащIэм фIэкIа. Си Iэмырым щыщуи къремынэ зыри, уи инагъыр зыхэзыгъащIэ мащIэм фIэкIа, уэ сыпкъуэувэну къару къызиту, напIэзыпIэ къэси уи лъагъуныгъэр сигу иримыгъэхуу. Къремынэ сэ сщыщу зы мащIэ тIэкIу фIэкI, уэ сэркIэ нахуэ узыщIынум фIэкI. Сызэзыпхым щыщуи къренэ уи Iэмырым сезыпхынур, уэ уи мурадым си гъащIэр щхьэузыхь хуэхъун папщIэ. Аращ уи лъагъуныгъэм и пхыгъэр. - 35 - Акъылым шынэ здимыщIэм, щхьэр лъагэу щаIэт; ЩIэныгъэр здэхуитым; Дунейр унэ блын зэвхэмкIэ здызэпымыудам; Псалъэхэр гум илъ пэжыгъэм къыщыхэкIым; Емыш хущIэкъуныгъэм и Iэр щыпкъагъэмкIэ щишийм; Акъыл нэхум и псы уэрым сэгъей хьэл зэщIэжыхьахэм гъуэгу щыфIэмыкIуэдым; Уэ акъылыр сыт щыгъуи гупсысэрэ лэжьыгъэ узэщIамрэ здыхуэпшэм – А щхьэхуитыныгъэм и уафэм, уо, си Адэ, къыщыгъэуш си хэкур. - 36 - Мыращ сынызэролъэIур, Зиусхьэн, хэгъащIэ, хэгъащIэ си гур и лъабжьэм щIэлъ тхьэмыщкIагъэм техуэу. Къысхэлъхьэ къару, гуфIэгъуэри гузэвэгъуэри тыншу есхьэкIыфыну. Къызэт къару, сыщыпхуэпщылIкIэ си лъагъуныгъэри бэгъуэну. Къызэт къару тхьэмыщкIэхэм си щIыб зэи яхуэзмыгъэзэну, бей удэфахэм я пащхьэ зыщызмыгъэщхъыну. Къызэт къару си псэр лъагэу мыхьэнэншагъэм щхьэщысIэтыкIыну. Къызэт къару си къарур лъагъуныгъэкIэ уи унафэм щIэзгъэувэну. - 37 - Сэ си гугъащ си зекIуэр иужьрей къарухэм ядэзухауэ, си пащхьэ илъа гъуэгури къызэпычауэ, си гъуэмылэри сухауэ, жэщ кIыфIым пIэщхьагъ щысщIыну зэманри къэсауэ. Ауэ сэ солъагъу уэ уи Iэмырым сэркIэ ух зэримыIэр. Жьы хъуа псалъэхэр бзэгум щытекIыжкIэ, уэрэдыщIэхэр гум къикIыу хуожьэ; жьы хъуа лъэужьхэри щыкIуэдыжкIэ, телъыджэхэр зиIэ хэку къоунэху. - 38 - СызыщIэхъуэпсыр уэ зыр, уэ зы закъуэр зэрыарар жырыреIэ си гум кIэ имыIэу. Жэщми махуэми сытезыгъэу хъуапсэ псори кунэщIщ. Жэщым и кIыфIагъым щэхуу нэху щIэлъэIуу лъэIу зэрыхэлъым хуэдэу, си щIэныгъэншагъэм и кIуэцIым къоIукI кIий макъ - сэ уэращ сызыхуейр, уэ зырщ. И къарум къихь къимыгъанэу щэхугъэм езауэ борэныр щэхугъэкIэ зиухыжыну зэрыщIэхъуэпсым хуэдэу, сэри си къызэрыIэтыныгъэр уи лъагъуныгъэм пэщIэтщ, щымкъым абы и кIий макъыр: – сэ уэращ сызыхуейр, уэ зырщ. - 39 - Гур пхъашэ хъурэ быдэ хъун щIидзэмэ, уэ къысхуэкIуэ щабагъэр къипкIуту. ГъащIэм хъерыр хэкIыжмэ, къысхуэкIуэ уэрэдкIэ уусэу. Лэжьыгъэ Iэуэлъауэм лъэныкъуэ псомкIи и ву макъыр щиIэт хъумэ, дунеишхуэм сытрихуу, къысхуэкIуэ уэ, щымагъэм и пащтыхь, щэхугъэмрэ гупсэхугъуэмрэ уи гъусэу. Сигу тхьэмыщкIэм къуагъым зызэригъапщхьэу зыщиудыгъумэ, бжэхэр зэIудзи, си Пащтыхь, къыщIыхьэ уи хэIэтыкIаигъэр пщIыгъуу. Хъуапсэм псэр къэгъапцIэрэ лIэныгъэкIэ нэф ищIым, къысхуэкIуэ, уэ, щихъ, жей зимыIэ, щыблэмрэ гъуагъуэмрэ уи гъусэу. - 40 - Махуэ куэдкIэ, куэдкIэ, си Тхьэ, уэшх тешхакъым сигу гъущIам. Уафэ джабэри джафэ дыдэщ – е пшэ кIапсэ псыгъуэ, е псыхьэлыгъуэ щIыIэм и нэщэнэ жыжьэ теплъагъуэкъым. КъэутIыпщ уи борэн шынагъуэр, лIэныгъэм и кIыфIыгъэкIэ гъэнщIауэ, абыкIэ Уэ уарэзымэ, щыблэм и уэгъуэмкIэ уафэм и джабэхэр къэгъэзджыздж. Ауэ негъэгъэзэж, негъэгъэзэж, си Тхьэ, дэни щыму кIуэцIрыкI мы хуабэ гъуэзым, хуэму, папцIэу, гущIэгъуншэу, гур кIуэдыгъэкIэ игъэсу. ЖеIэ пшэ угъурлым лъагапIэм лъахъшэу къехыну, адэр щыгубжь махуэм анэм и нэ нэпс зыщIэзым хуэдэу. - 41 - Дэнэ деж уздэщытыр, си псэм фIыуэ илъэгъуа, псом яужь зыкъибгъэнауэ жьауэм зыщIэбгъащкIуэу? Уэ къоIунщIурэ цIыхухэр гъуэгу сабалъэм къыщыбблокI, дэхуэха гуэр уафIэщIу. Сэ сыхьэт бжыгъэ зэшыгъуэхэр щызогъакIуэ мыбдеж, къэсхьа тыгъэхэр къызопхъ, блэкIхэми си удз гъэгъахэр зырызу къащыпурэ си матэри нэщI хъуащ. Пщэдджыжьыр икIащ, шэджагъуэри блэкIащ. Пщыхьэщхьэ жьауэм деж си нэхэм жейр къатохьэлъэ. Зи унэ екIуэлIэж цIыхухэр къызэплъурэ погуфIыкIри соукIытэ. Сэ сыщысщ фыз факъырэ хуэдэ, щыгъын кIапэкIэ си нэкIур згъэпщкIуу, «сыт ухуейт?» жаIэу къыщызэупщIкIэ, си нэхэр жэуапыншэу изохьэх. Уо, дауэ сэ яжесIэфынт абыхэм уэ сыножьэу, укъэкIуэнуи жыпIауэ? Дауэ сэ, ягъэукIытам, яжесIэнт абыхэм мы факъырагъэр дыщырыкIыу къыздэсщтэу? Ах, сэ си гущIэм щызогъафIэ а пагагъэр. Сэ удзым сыхэсщ си нэр уафэм етауэ, сыщIохъуэпс уэ зэуэ укъэлынду укъэкIуэну – мафIэ зэщIэцIууэхэмрэ бэракъ дыщафэмрэ уи шыгу зэщIэщIам щхьэщыту, - иджыри сыщIохъуэпс слъагъуну, гъуэгурыкIуэхэм ягъэщIагъуэу мывэ сыну зэрыжынур, уэ сабэм сыкъыхэпхыжын щхьэ уи лъагапIэм укъехыу, сэ фыз факъырэм, гъэмахуэ жьыбгъэм игъэкIэзыз тхьэмпэу укIытэмрэ пагагъэмрэ ягъэкIэзызым, уэ уи бгъумкIэ тIысыпIэ къызэптауэ ялъэгъуа иужькIэ. Ауэ зэманыр макIуэ, иджыри къэIуакъым уи шыгум и шэрхъхэм я макъыр. Гуп куэд блокI Iэуэлъауэу, уардэу гъэщIэрэщIауэ. Уэ уи закъуэу ущIэтыну ухуейуэ ара жьауэм, псом я щIыб зыдэбгъапщкIуэу? Сэ си закъуэ сыножьэн хуейуэ ара сыгъыурэ си гур зэшым ихузу? - 42 - Нэхулъэм и деж жьыуэ зыгуэр къызэIущащэри къызжиIащ уэрэ сэрэ ди закъуэу кхъуафэжьейкIэ псым дытехьэну, икIи зэи зы пси мы дунейм ар къыщимыщIэу, мурад гуэри зэдимыIэу, кIэ имыIэу дызэщIыгъуну. Мы тенджыз гъунэншэм, щыму къызэплъ уи гуфIэм и жэуапу, си уэрэдхэм макъамэ хуиту заIэтынт, псалъэм имыкъуз толъкъунхэм хуэдэу. Е зэманыр иджыри къэмысарэ? Е Iуэху псори иджыри зэфIэмыкIарэ? Еплъ, пщыхьэщхьэр псы Iуфэм къекIуэтэхащ, дыгъэ къухьэгъуэм псы бзухэри я абгъуэм мэлъэтэж. Хэт ищIэрэ, гъущI церпхэр зэрыкIыжу, кхъуафэжьейр, дыгъэ къухьэжым и иужьрей нэбзийуэ, жэщ кIыфIым щыхэкIуэдэжынур? - 43 - ЩыIащ махуэ, уэ гъунэгъу сыпхуэхъуным сыхуэмыхьэзыру, ауэ сыномыджауэ, гупым къыхэкIа цIыху къызэрыгуэкI хуэдэу, сигу укъихьа иужь, укъэзмыцIыхуу, си Пащтыхь, уэ мыкIуэдыжыныгъэм и лъэужь си гъащIэм и напIэзыпIэ кIэщIхэм къытебнащ. Иджыри, ахэр зэзэмызэ сигу къыщыкIыжкIэ, уэ уи мыхъур ятелъу щыслъагъукIэ, сэ къызгуроIуэ ахэр си сщыгъупщэжа махуэхэм я гуфIэгъуэмрэ нэщхъеягъуэмрэ я гукъинэжым хэзэрыхьыжауэ сабэм зэрыхэлъар. Уэ нэмыплъ пщIыуэ уи щIыб хуэбгъэзакъым си сабалъэ сабий джэгукIэхэм, си пэшым щызэхэсха лъэмакъхэри ардыдэхэращ, джэрпэджэу зы вагъуэ икIым адрей хуэкIуэу зэхэсхыр. - 44 - Мыращ сигу хэзыгъахъуэр – гъуэгубгъум си напIэ зэтезмылъхьэу, жьауэр нэхум кIэлъыжэу, уэшхыр гъэмахуэ хуабэм кIэлъыпIащIэу къызэрешхым сыкIэлъыплъу сыщысыныр. Хэку мыцIыхухэм я хъыбарзехьэхэм фIэхъус къызахри я гъуэгу хагъэщI. Си гур къогуфIыкI, жьыбгъэ цIыкIу блэлъэтым и бауэкIэри сфIэIэфIщ. Нэхулъэм щыщIэдзауэ пшапэ зэхэуэгъуэ хъуху сыщысщ сэ мыбдеж, си бжэм сыIусу, икIи сощIэ уащхъуэдэмыщхъуэу уэ укъызэрыслъагъуу, напIэзыпIэ IэфIым сиубыдынущ. Ауэ зэкIэ сэ сыпыгуфIыкIыурэ урэд жызоIэ, си закъуэ дыдэу. ЗэкIэ хьэуами псалъэ стам и хъерыр хэз мэхъу. - 45 - Фэ зэхэфхакъэ абы и лъэмакъ щэхухэр. Ар макIуэ, макIуэ, сыт щыгъуи макIуэ. НапIэзыпIэ къэси, лIэщIыгъуэ къэси махуэхэми, жэщхэми ар макIуэ, макIуэ, сыт щыгъуи макIуэ. Уэрэд куэд сусащ сэ я гукъыдэжкIэ зэмыщхьу, ауэ абыхэм я дэтхэнэ макъми жаIэр зыт: ар макIуэ, макIуэ, сыт щыгъуи макIуэ. Апрель дыгъэпсым и махуэ мэ гуакIуэхэм ар мэз лъэс лъагъуэ цIыкIум ирокIуэ, ирокIуэ, сыт щыгъуи ирокIуэ. Июль жэщхэм я кIыфI уэшхрилэм хэту, пшэхэм я шыгу гъуагъуэм ису ар макIуэ, макIуэ, сыт щыгъуи макIуэ. Нэщхъеягъуэми насыпыншагъэми абы и лъэмакъхэм си гур яхуз, и лъакъуэхэм я дыщэ лъэIусыкIэм си гуфIэгъуэр зэщIагъаблэ. - 46 - Сэ сщIэкъым сыт хуэдэ напIэзыпIэ жыжьэм укъикIыу нэхъри гъунэгъуу укъысхуэкIуэми. Уи дыгъэмрэ вагъуэхэмрэ уэ игъащIэкIэ усфIагъэпщкIунукъым. Куэдрэ пщэдджыжьми пщыхьэщхьэми, уи лъэмакъхэр къэIурт, уи лIыкIуэр си гум къихьэурэ щэхуу къызэджэрт. Сэ сщIэкъым нобэ си гъащIэр пIейтеиныгъэм щIызэщIиубыдар, сигури гуфIэгъуэм щIигъэкIэзызыр. Шэч хэмылъу, сэ си лжьыгъэр икIэм нэзгъэсыну ичэзу хъуащ, икIи сэ зыхызощIэ узэрыгъунэгъум и IэфIагъым къыпих мэ гуакIуэр хьэуам зэрыхэтыр. - 47 – Жэщ псор згъэкIуащ пщIэншэу абы сежьэурэ. Сэ сошынэ ар пщэдджыжьым, сэ зыри слъэмыкIыжу сыIуриха нэужь, напIэзыпIэу си бжэм къыIухьэнкIэ. Уа, ныбжьэгъухэ, къэвгъанэ абы и гъуэгур зэIухауэ, фыIумыувэ къыщIыхьэпIэм. Абы и лъэмакъхэм сэ сыкъызэщамыгъэумэ, сыкъэвгъэушыну фыхэмыт, сыволъэIу. Сэ сыхуейкъым си жейр бзу кIий макъхэмрэ пщэджыжь нэхулъэр зыгъафIэ жьым и Iэуэлъауэмрэ къызэпаудыну. Сывгъэжей сыкъыхэмыщтыкIыу, си пащтыхьыр напIэзыпIэу си бжэм къыIухьэми. Уей, си жей, си жей лъапIэ, кIуэдыжын папщIэ ар къылъэIусыным ежьэр! Уей, мы си нэ зэтепIахэр, абыхэм я напIэ щаIэтынур ар кIыфIым къыхэжабзыкI ныбжьу си пащхьэ къихьэрэ, абы и гуфIэкIэм и нурыр къатепсэмэщ. Ирелъагъу ар си нэм япэ дыдэ илъагъу нэхуу икIи теплъэу. Си псэ къэушам япэ игъэунэхуну гуфIэгъуэр абы и плъэгъуэм къыхрекI! Си деж щызгъэзэжкIэ си кIуэжыныгъэр абы и деж кIуэжыныгъэ ирехъу. - 48 - Пщэдджыжь тенджыз Iэуэлъауэншэр бзу уэрэд зэмыфэгъухэм щIагъэнат, удз гъэгъа щIэращIэхэри гъуэгубгъум къыIутт, дыгъэм и дыщэ бзий уэрхэри уафэм къызэпхидзырт зыми гулъытэ хуэдмыщIу дыпIащIэу ди гъуэгу щыхэдгъэщIым. Дэ уэрэд нэщхъыфIэхэри жытIэртэкъым, икIи дыджэгутэкъым, зыгуэр къэтщэхунуи къуажэхэми дыдыхьакъым, псалъи жытIэртэкъым икIи дыгуфIэртэкъым, гъуэгуми дыщызэтеувыIэртэкъым. Ди лъэбакъуэхэри нэхъри дгъэпсынщIэрт зэманыр зэрыжэм тещIыхьауэ. Дыгъэр шэджэгъуапIэ иуват, мэз тхьэрыкъуэхэри жьауэм щыкъуркъурт. Тхьэмпэ фагъуэхэр къафэурэ шэджагъуэ хьэуа пщтырым хэкIэрэхъухьырт. Мэлыхъуэ щIалэ цIыкIур щхьэукъуэу банан жыг щIагъым щIэлът, сэри псыIэрышэм сыбгъэдэгъуалъхьэри си Iэплъэпкъ ешар сукъуэдиящ. Си гъусэ гъуэгурыкIуэхэр сызрамыпэсу къысщыдыхьэшхырт, абыхэм я щхьэр лъагэу Iэтауэ япэкIэ кIуэрт, ахэр зэи къызэплъэкIыжтэкъым икIи зэи загъэпсэхутэкъым. Ахэр хэкIуэдэжащ жыжьаплъэу къэлъагъуэ Iугъуэ щIыху цIыкIум. Iуащхьэ куэди хъупIэ куэди къызэпачащ абыхэм, къэрал жыжьэ куэдми кIуэцIрыкIахэщ. ЩIыхьри щытхъури уэуейщ, гъуэгу мыухыжым и лIыхъужьыгъэ! ЩIэнэкIалъэхэми, гие псалъэхэми сытэджын щхьэ сыкъызэщIагъэстырт, ауэ си деж жэуап щагъуэтакъым. Сэ къызгурыIуэжащ арэзыныгъэм и лъащIэ куум сызэриубыдар – гухэхъуэ хъарпшэрым и жьауэм сыщIэтт. Дыгъэм хидыкIа пшыхь удзыфэм и псэхугъуэм си гум хуэмурэ зыкъришэкIырт. Сэ сыщIежьа мурадыр сщыгъупщэри зызмыхъунщIэу си гупсысэр жьауэмрэ уэрэдхэмрэ я лъагъуэбэм тезухуащ. ИкIэм-икIэжым, сыкъэушу си нэр къыщызэтесхым, къэслъэгъуащ уэ уи гуфIэкIэмкIэ си жейр щIэбуфэу укъызэрысщхьэщытыр. Щхьэи сышынат уи деж кIуэ гъуэгур кIыхьу икIи гугъуу къысфIэщIу, сыплъэIэсынми гугъуехьышхуэ пылъу къысщыхъуу! - 49 - Уэ уи тIысыпIэм укъикIри си тэхъуанэбжэм укъыIухьащ. Сэ си закъуэ си къуэгъэнапIэм уэрэд щыжысIэти, си уэрэдым и макъамэр уи тхьэкIумэм лъэIусащ. Уэ укъехри си тэхъуанэбжэм укъыIухьащ. Уэ уи Iэгъуэблагъуэм итщ уэрэд жыIакIуэ Iэзэ куэд, махуэ псом сыхьэт къэс уэрэд пхужеIэ уэ пхуэжыIэщIэм. Ауэ еджакIуэщIэм и уэрэд къызэрыгуэкIыр уи лъагъуныгъэм къыщыпэджэм, зэхэпхащ. Зы уэрэд цIыкIу тхьэмыщкIафэр дунейм и макъамэ щэджащэм хыхьащ, - иджы мис, удз гъэгъар си тыгъэу пIыгъыу, уэ укъехри укъыщыувыIащ си бжэм. - 50 - Факъырэу, зы бжэм сыIукIым адрейм сыIухьэу сэ къуажэм сыдэтт уи дыщэ шыгур жыжьэу къыщылъэгъуам, пщIыхьэпIэ дахэм хуэдэу сэ зыри къызгурымыIуэу сызэупщIыжырт: - Хэт мы пащтыхьхэм я пащтыхьыжыр? Сэ си гугъапIэхэм лъагэу заIэтри къысщыхъужащ си махуэ насыпыншэхэм кIэ ягъуэтауэ; сэ сыщытт факъырэIус лъэIуншэрэ сабэм щипхъа беягъэрэ сыпэплъэу. Шыгур сэ сыздэщыт дыдэм къыщыувыIащ. Уи плъэгъуэр сэ къыстехуэри угуфIэу укъикIащ. Сэ зыхэсщIащ иджы, икIэм-икIэжым си гъащIэ насыпыр къызэрысар. Абдежым уэ зэуэ уи Iэ ижьыр къэпшийри жыпIащ: «Къызэптыну сыт уэ уиIэр?» Ей-ей, ар пащтыхь гушыIэкIэт – факъырэм факъырэIус щхьэ уи Iэгу хуэпшииныр! Сэ сукIытэри Iэнкун сыкъэхъуащ, итIанэ хуэмурэ си хъуржыным щIакхъуэ хьэдзэ цIыкIу къисхри уэстащ. Ауэ сэ схуэмыIуэтэну гъэщIэгъуэн сщыхъуат пщыхьэщхьэм си хъуржыным илъхэр лъэгум къыщискIутам, факъырэIус тIэкIум хэлъу дыщэ хьэдзэ цIыкIу къыщызгъуэтам. Нэпс гуащIэкIэ сыгъащ икIи сигу зэхикъутащ сиIэ псори уэстыну зэрысхузфIэмыкIам. - 51 - Жэщ кIыфIыр хэкIуатэрт. Ди махуэ лэжьыгъэр духат. Иужьрей хьэщIэр къэкIуа дигугъри къуажэм унэбжэ псори щыдгъэбыдэжат. Ауэ языныкъуэхэм жаIэрт: «Пащтыхьыр къэкIуэн хуейщ». Дэ дыдыхьэшхыурэ жытIэрт: «Хьэуэ, апхуэдэ къэхъурэ?» Бжэм зыгуэр къытеуIуэу къытщыхъуащ, ауэ дэ жытIащ ар жьыбгъэрауэ. Дэ уэздыгъэхэр дгъэуфIынкIри дыгъуэлъыжащ. Ауэ языныкъуэхэм жаIэрт: «Ар хъыбарегъащIэщ». Дэ дыдыхьэшхыурэ пэддзыжырт: «Хьэуэ, ар жьыбгъэу къыщIэкIынщ». Жэщыбгым макъ гуэр къэIуащ. Жейм дыхэту дэ дегупсысащ ар уафэгъуагъуэ жыжьэу. ЩIыр къэсысащ, блынхэр зэщIэхъеящ пщIыхьэпIэм дыздыхэтым дагъэгузавэу. Ауэ языныкъуэхэращ жызыIар ар шэрхъ макъыу. Дэ жейбащхъуэу яжетIэрт: «Хьэуэ, ар пшэм хэт уафэгъуагъуэщ». Жэщыр иджыри кIыфIт литаврхэм я макъ къыщыIуам. Макъ къэIуащ: «Фыкъэуш! ЩIэхыу!» - дэ шынэм дыкъигъаскIэри ди Iэхэр ди гум тетлъхьащ. Языныкъуэхэм жаIащ: «Феплъ, мис пащтыхьым и бэракъыр». Дэ дыкъыщылъэтауэ дыкIийрт: «АдэкIэ зытIэжьэ хъужынукъым». Пащтыхьыр къэкIуащ, ауэ дэнщыIэ гирляндэхэр? ДэнщыIэ дгъэхьэзырын хуея тIысыпIэр? Уо, укIытэгъуэ, уо напэтех! Дэнэ щыIэ унэ лъагэр, даIэ пэш зэлъыIухахэр?! Зыгуэрым жиIащ: «Мыхьэнэ иIэкъым мы кIий макъым. Фыпежьэ абы IэнэщIу, щIэфшэ пэш нэщIхэм». Бжэхэр зэIуфхи фепщэ хы блэтхьэкIумэхэм. Жэщыр хэкIуэтауэ къэсащ ди унэ кIыфIым и пащтыхьыр. Уафэр мэгъуагъуэ. КIыфIыгъэр щыблэм къегъэкIэзыз. Уи арджэн зэхэчэтхъар щIыбым къыщIэхи пщIантIэм щыубгъу. Борэныр щIыгъуу дэ къытхуэкIуащ жэщ шынагъуэм и пащтыхьыр. - 52 - Сэ сыхуеят снолъэIуу уи пщэм илъ розэ ухуэнар къыпIысхыну, ауэ сыпфIэлIыкIащ. Сэ сыпэплъащ пщэдджыжьым, - уэ укIуэжа нэужь тхьэмпэ пычахуэхэр пIэм къыщызгъуэтын сфIэщIу. ИкIи, факъырэ цIыхубзу, пщэдджыжь нэхущым къэслъыхъуащ кIэрыхуауэ зы тхьэмпэ е тхьэмпитI. Сыунэхъужащ, сыт сэ къэзгъуэтар? Лъагъуныгъэм и нэщэнэу сыт уэ къэбгъэнар? Удз гъэгъакъым икIи IэфIыкIэкъым, мэ дахэ къызыпих псы зэрыт кхъуэщынкъым. Ар уэ уи сэшхуэ абрагъуэщ, мафIэм пэлыду, уафэгъуагъуэ шабзэшэу хьэлъэу. Пщэдджыжьым и нэху бзийхэр щхьэгъубжэм къыдокIри уи пIэр зэщIауфэ. Нэхущ бзур бзэрабзэурэ щIоупщIэ: «Сыт пIыгъыр цIыхубз?» - Хьэуэ, мыр удз гъэгъакъым, икIи IэфIыкIэкъым, мэ дахэ къызыпих псы зэрыт кхъуэщынкъым, - мыр уи сэ шынагъуэращ. Сэ сыщысщ къуажэхьым согупсысри, мы уи тыгъэм къикIыр сыт? Сэ згъуэткъым щIыпIэ, ар щызгъэпщкIуну, сэ, IэмащIэлъэмащIэр, соукIытэ ар къыздесхьэкIыну,си бгъэм щескъузылIэкIи, егъэуз. Ауэ си гум къыщесхьэкIынущ а пщIэр, хьэзаб хьэлъэр, уэ уи тыгъэр. Иджы щыщIэдзауэ сэркIэ мы дунейм шынагъуэ щыIэнукъым. ИкIи уэ ущытекIуэнущ си зауэ псоми. Уэ гъусэу лIэныгъэр къысхуэбгъэнащи, абы сэ си гъащIэм нэчыхь хуезгъэтхынущ. Уи сэшхуэр сэ сщIыгъущ си лъэхъухэр икъутэн папщIэ, сэркIи мы дунейм афIэкIа шынагъуэ щыIэжынукъым. Иджы щыщIэдзауэ сэ хыфIызодзэ зыгъэщIэращIэ хьэпшыпхэр. Си гум и пащтыхь, дяпэкIэ сэ сыножьэу нэпс щIэзгъэкIыу къуагъым сыкъуэсыжынукъым, щтэIэщтаблагъи щабагъи си IуэхущIафэхэм хэлъыжынукъым. Уэ къызэптащ уи сэшхуэр зризгъэщIэрэщIэну. Сэ сыхуеижкъым афIэкIа гуащэ зэрагъэщIэращIэ хьэпшыпхэм. - 53 - Дахащэщ уи Iэпщэр, вагъуэхэр хэпхъарэ мывэ щхъуэкIэплъыкIэхэмкIэ гъэщIэрэщIауэ. Ауэ абы нэхърэ нэхъ сфIэдахэщ уи сэшхуэр, и дамэ шэщIахэр дыхьэрэну къухьэж дыгъэм теплъагъуэ тхьэбзу Вишну и дамэхэм хуэдэу. Ар мэкIэзыз, иужьрей уэгъуэм хигъэщIа гъащIэм къигъэIуж макъыу, ар мэлыд мафIэбзий къабзэм хуэдэу, зы щIэнэгъуэм къэлында бзийм дунеягъэ гурыщIэ псори игъэсу. Дахащэщ уи Iэпщэр, вагъуэ налкъутналмэсхэр зыхэсыр; ауэ уи сэшхуэр, уо-о уафэхъуэпскIым и пащтыхь, апхуэдизкIэ зыхуэбгъэдэн щымыIэ дахагъэкIэ зэщIоблэри, уеплъынуи уегупсысынуи шынагъуэщ. - 54 - Сэ уэ зыкIи сынолъэIуакъым; си цIэри бжесIакъым. Сэлам къызэпхыжа иужь щыму сыщытащ. Сэ си закъуэу сыбгъэдэтащ ныбжь къуаншэр зыдз жыгыр зыбгъэдэт псыкъуийм; цIыхубзэхэр унэм кIуэжащ псы зэрыз кхъуэщын гъуабжэхэр яIыгъыу. Ахэр къызэкIийхэрт: «НакIуэ ди гъусэу, дыгъэр куэд мыщIэу дэкIуеинущ». Ауэ къарууншагъэ гуэрым сиубыдауэ сэ зысIэжьэрт, гупсысэ зэхэзэрыхьахэм сыхэту. Сэ зэхэсхакъым уи лъэмакъхэр укъыщызбгъэдыхьэм. Уи нэхэр нэщхъейт сэ къыщысIуплъам; уи макъыр ешат щэхуу къыщызжепIэм: «Уоху, сэ сыгъуэгурыкIуэщ, псы схуэлIащ». Сэ си гупсысэхэм сакъыхэскIыкIри уи Iэгу ущIахэм си кхъуэщыным ит псыр нискIащ. Тхьэмпэхэр ищхьэкIэ зэщIэхъаерт, пэш кIыфI нэрымылъагъум кIыгуугум уэрэд къыщришырт, бабли удзым и мэри гъуэгу еуэкIыпIэм нэс къихьырт. Сэ сыщытт укIытэм бзагуэ сищIауэ, си цIэмкIэ укъыщызэупщIам. Сэ сыт пхуэсщIар, уэ сыпщымыгъупщэн хуэдэу. Уи псыхуэлIэр икIын папщIэ псы зэростыфар сигу икIыжынукъым, IэфIагъкIэ зэщIиуфэнущ си гур. Пщэдджыжьыр йокI, бзухэм я макъхэри нэхъ кIащхъэ мэхъу, ищхьэмкIэ тхьэмпэхэр мэщхъыщхъ. Сэ сыщысщ согупсысэ-согупсысэри. - 55 - Хьэзабыр уи гум телъщ, жейбащхъуэр уи нэхэм щIэлъщ иджыри. Уэ уи деж къэсакъэ а хъыбарыр, удз гъэгъар банэхэм къазэрыхэлындыкIым теухуар? Къэуш, ей, къэуш зэ! Зэманыр лейуэ умыгъакIуэ. Мывалъэ гъуэгум и кIэм тесщ си ныбжьэгъур и закъуэу, лъэ здынэмыса пшахъуэщIым деж. КъыумыгъапцIэ ар. Къэуш, ей, къэуш зэ. Ирезэш уафэр икIи ирекIэкуакуэ дыгъэ жьэражьэм и хуабейм щIэту, пшахъуэ пщтырми иреубгъу псыхуэлIэ къызэжэх и тепхъуэр. Е уи уигу лъащIэм гуфIэгъуэ имылърэ? Е уи лъагъуэр пэджэжынкъэ уи лъэ макъхэм узым и макъамэ IэфIкIэ. - 56 - Араи уэ уи гуфIэгъуэр сщыз щIэхъуар! Араи уэ щIылъэм укъехыу си деж укъыщIэкIуар! Уо-о, хьэршым и Тхьэ, дэнэ щыIэт уэ уи лъагъуныгъэр, сэ сримыIамэ! Уэ мы налкъутналмэсхэм хуит сахуэпщIащ. Си гум Уи гуфIэгъуэр кIэ имыIэу, мыужьыхыжу щоджэгу. Си гъащIэм уэ уи Iэмырым теплъэ зэмыщхьхэр щиIыгъщ. ИкIи, пащтыхьхэм я Пащтыхь, уэ дахагъэр зыфIэплъхьащ, си гур пхьэхун папщIэ. Уи лъагъуныгъэри хокIуадэ фIыуэ плъэгъуам и лъагъуныгъэми, мис, Уэ укъыхощ зэпсэгъу насыпыфIэхэм я псэм. - 57 - Нур, си нур, дунейхэр зыгъэнщI нур, нэхэм телъащIэ нур, гур зыгъэIэфI нур! Уей, си лъагъуныгъэ, нурыр къыщофэ си гъащIэм и курыкупсэм, нурым къегъауэ си лъагъуныгъэм и бзэпсхэр; уафэр къызэкIуэцIоч, жьыбгъэр мэятэ, щIылъэм дыхьэшх макъыр кIуэцIрож. Хьэндрабгъуэхэм я дамэхэр нурыбэм щызэкIуэцIах. Лилиехэмрэ жасминхэмрэ толъкъун нурым и тхыцIэм зыщаIэт. Ей, си лъагъуныгъэ, нурыр дыщэу щызэролъэлъ пшэ къэс, икIи налмэс уэрыр кърекIут. ГуфIэгъуэр тхьэмпэ тхьэмпэу зэрокI, си лъагъуныгъэ, гуфIэгъуэр щIэншэщ. Псыр и Iуфэхэм къикIащи гуфIэгъуэпс уэрыр дэнэкIи кIуэцIрокI. - 58 - ГуфIэгъуэм и пшыналъэ псори щызэхрехьэ си иужьрей уэрэдым – гуфIэгъуэу щIылъэр удз IувкIэ щIэзыхъумэр; гуфIэгъуэу зэтIолъхуэныкъуэ зэшыпхъуитIу гъащIэмрэ ажалымрэ дуней нэхум щызыгъэкIэрахъуэр; гуфIэгъуэу борэным щIыгъуу псэ зыIут псори дыхьэшх макъкIэ зыгъэушыр, гуфIэгъуэу щыму хьэзабым и удз гъэгъа плъыжь зэIухам и нэпсым хыхьам, гуфIэгъуэу и щIэин псори сабэм хэзыдзэ мыпсалъэр. - 59 - НтIэ, сэ сощIэ, уэ уи лъагъуныгъэу аркъудейщ, си гум фIыуэ илъэгъуа, мы нур дыщафэу тхьэмпэхэм теджэгухьыр, уафэм щыпхысыкI мы пшэ Iэтахэри, си натIэр щIыIэтыIэ къэзыщI мы жьыбгъэ цIыкIу блэлъэтри. Пщэдджыжь нурыр си нэм къыщIидзащ – ар си гум къыхуэбгъэкIуа хъыбарегъащIэщ. Уи нэкIур къепхьэхащ, уи нэхэр плъапIэ лъагэм иту си нэм къыщIоплъэ, сигури уи лъакъуэхэм ялъэIусащ. - 60 - Дуней уахътыншэхэм я тенджыз Iуфэм щызэхуэсащ сабийхэр. Уафэ лъащIэншэр абыхэм я щыгу щыхъейкъым, псы Iэуэлъауэри борэным зэщIищтащ. Дуней уахътыншэхэм я псы Iуфэм щызэхуэсащ сабийхэр къафэрэ джэгуу. Абыхэм пшахъуэм унэхэр къыхащIыкI, блэтхьэкIумэ нэщIхэм ироджэгу. Тхьэмпэ къыпыхуахэм къыхаухуэныкI кхъухь цIыкIухэр, икIи гуфIэурэ архъуанэ бгъуфIэм траутIыпщхьэ. Сабийхэр щоджэгу дунейхэм я тенджыз Iуфэм. Абыхэм есыкIэ ящIэкъым, псыми хъы хадзэфкъым. МыщIэху къэзылъыхъуэхэм псым зыщIагъэмбрыуэ мыщIэхум щхьэ, сондэджэрхэр я кхъухьхэм ису псым тетщ, сабийхэм мывэ кIэщхъ къащыпри ирапхъ. Абыхэм къалъыхъуэкъым налкъутналмэс гъэпщкIуахэр, абыхэм хъыи хадзэфыркъым. Тенджызыр дыхьэшх иным зыдиIэту къоукъубей, толъкъун къиуари гуфIэкIэ фагъуэу къонэху. Псэих толъкъунхэм сабийхэм гущэкъу уэрэд цIыкIухэр жраIэ, анэм гущэ щыщIиупскIэкIэ зэрыжиIэм хуэдэу. Тенджызыр сабийхэм ядоджэгу, толъкъун къиуари гуфIэ мащIэм хуэдэу къонэху. Дуней уахътыншэхэмя тенджыз Iуфэм щызэхуэсащ сабийхэр. Борэным уафэ гъуэгуншэм адэкIэ-мыдэкIэ зыщыщIедз; кхъухьхэр лъэужьыншэу архъуанэм ирехьэ, ажалыр мэятэ, сабийхэр мэджэгу. - 61 - ПщIыхьыр – сабий цIынэм и нэгу щIэкI пщIыхьыр дэнэ къикIми хэт ищIэрэ? НтIэ, нтIэ, жаIэ ар жылэ телъыджэм щыпсэууэ, тхьэгъэлэджхэм мащIэу ягъэнэху мэзым и ныбжьхэм фIэдза гул телъыджитIым ису. Абы къолъэтыкIри къокIуэ сабий цIыкIум и нэхэм ба хуищIыну. ГуфIэр, сабий цIынэр щыжейкIэ и Iупэм телъ гуфIэр, - хэт ищIэрэ ар къыздалъхуар? НтIэ, нтIэ, жаIэ ар мазэ хэхъуэм и нэху фагъуэр бжьыхьэ пшэ хэкIуэсэжым и кIапэм щылъэIусам япэ дыдэ абы щыгъуэм гуфIэр къэунэхуауэ; уэсэпскIэ тхьэщIа пщэдджыжьым и хъуапсапIэм къыхэкIри къэкIуащ сабий жейм и Iупэм телъ гуфIэр. IэфIу, щабэу сабийм и пкъым щыуш къабзагъэр, - хэт ищIэрэ абы куэдрэ зыздигъэпщкIуар дэнэми? НтIэ, аращ, абы и анэр хъыджэбз щIалэу щыщытам и гум IэплIэ къыхуищIырт лъагъуныгъэ щабэм и щэху даущыншэм – абы къыхэкIащ къабзагъэ IэфIу сабийм и пкъым щыгъагъэр. - 62 - Сэ джэгуалъэ лахэр къыщыпхуэсхьым и деж , си нэху цIыкIу, сэ къызгуроIуэ пшэмрэ псымрэ я щIыIур щхъуэкIэплъыкIабэу щIэджэгур, удз гъэгъахэм я фэри апхуэдизу плъыфабэу щIызэтепщIыкIыр къызгуроIуэ, джэгуалъэ лахэр уэ щосткIэ, си сабий. Укъэзгъэфэну уэрэд щыбжесIэкIэ, сэ фIыуэ сощIэ толъкъунхэм я макъ зэщIэжьыуэр щIым игу къэдаIуэм деж щIынагъэсыр – сэ уэрэд щыжысIэкIэ, уэ укъэзгъэфэну. Уи Iэ цIыкIу нэпсейхэм IэфIыкIэ къащыхуэсхькIэ, сэ сощIэ гъэгъам и кум фо щIилъри, пхъэщхьэмыщхьэхэм щэхуу IэфI къащIыщIыхьэри – сэ IэфIыкIэ уи Iэ нэпсей цIыкIухэм къащыхуэсхькIэ. Уи нэкIум ба щыхуэсщIкIэ, узгъэгуфIэну сыхуейуэ, си лъагъуныгъэ, сэ къызгуроIуэ пщэдджыжь пшэплъым хэту уафэм къех гухэхъуэр зыхуэдизыр, гъэмахуэ жьыбгъэм си пкъым къыхуихь IэфIагъыр зыхуэдэр, уэ ба щыпхуэсщIкIэ, узгъэгуфIэну сыхуейуэ. - 63 - Уэ цIэрыIуэ сыщыпщIащ сымыцIыхуу щыта ныбжьэгъухэм я деж. Уэ хамэ унэхэм тIысыпIэ къыщызэптащ. Уэ жыжьэр гъунэгъу къысхуэпщIри хамэр къуэш схуэбгъэхъуащ. Си гур мэгумэщI си быдапIэм сикIын хуей щыхъукIэ, - сэ сщогъупщэж щIэми жьыр зэрыхэтыр, уэри абы узэрыщыпсэур. Къэхъугъэми лIэныгъэми, мы дунейми, адрейхэми, дэнэкIэ сумыгъэкIуами уэ абы ущыIэщ, уэ зыр си гъащIэ мыухым уригъусэщ, сытым дежи мы си гур зэмыса гуфIэгъуэхэм йупхыу. Уэ укъэзыцIыхум зыри и хамэжкъым, абы папщIэкIэ бжэ псори зэIухащ. Уо-о, зэхэх си лъэIур, уи закъуэныгъэм къызит IэфIагъыр уэршэрхэм сфIыхомыгъэкIуадэ! - 64 - Псыежэхми, джабэ нэкIу нэщIми, удз кIырми сыхэту сеупщIащ абы: «Дэнэ уздэкIуэр хъыджэбз, уи щIыIутелъым уэздыгъэр щIиуфэу? Сэ си унэр кIыфIщ икIи нэщIщ – къызэт уи уэздыгъэр». Абы и нэ фIыцIэхэр къиIэтри зы напIэзыпIэкIэ си нэкIу къиплъащ кIыфIыгъэм хэту. «Сэ псым сыкъэкIуащ, - жиIащ абы итIанэ, - дыгъэр къухьэпIэмкIэ кIуэдыжа иужь си уэздыгъэр псым тезутIыпщхьэну». Сэ си закъуэ сыкIэлъыплъырт псым тет уэздыгъэм и нур бзий щтэIэщтаблэм. Жэщ къэблагъэм и щымыгъэм сыхэту сэ сеупщIащ абы: «Ей, хъыджэбз, фи уэздыгъэ псори маблэ, дэнэ укIуэрэ уи уэздыгъэр пIыгъыу? Сэ си унэр кIыфIыбзэщ икIи нэщIщ – къызэт уи уэздыгъэр. Абы и нэ фIыцIэхэр зы напIэзыпIэкIэ къиIэтри къыстриубыдащ, итIанэ дзыхьмыщIу зэщIэувыIыкIащ. «Сэ сыкъэкIуащ, - жиIащ абы икIэм-икIэжым, - си уэздыгъэр уафэм тыхь хуэсщIыну». Сэ сыщытащ абы и уэздыгъэ цIыкIу уафэм хэту писыкIым сеплъу. Мазэншэ жэщым сыхэту сеупщIащ сэ абы: «Ей, хъыджэбз, сыт уэздыгъэр уи гум деж щIэпIыгъыр? Сэ си унэр кIыфIщ икIи нэщIщ, - къызэт уи уэздыгъэр». Ар къэувыIэри зы напIэзыпIэкIэ хэгупсысыхьащ, кIыфIыгъэм си нэкIур щызэпиплъыхьу. «Сэ къэсхьащ си уэздыгъэр, - жиIащ абы, - факелхэм я джэгум сыхыхьэн папщIэ». Сэ сыщытащ мафIэхэм яхэзэрыхьа абы и уэздыгъэ цIыкIум сыкIэлъыплъу. - 65 - Сыт хуэдэ тхьэ санэт Уэ къыплъысыну узыхуеяр си Тхьэ лъапIэ, си гъащIэу кхъуэщыным из хъуауэ къыщхьэприхум къыхэпхыу? Си УсакIуэ, уэ арэзы укъищIрэ си нэкIэ уи къэгъэщIыгъэхэр плъагъуным, си тхьэкIумэкIэ Уэ уи дахагъэ зэкIуж мыкIуэщIхэм я макъамэм уедэIуэным? Уэ уи дунейм си акъылым псалъэхэр щызэхеухуанэ, Уэ уи гуфIэгъуэм абы макъамэр гъусэ хуещI, Уэ зыкъызыбот, икIи уэ езым уи IэфIагъыр сэркIэ зэхыбощIэ. - 66 - Псэм хэзмыхыу, къэнахуэми, къэлъагъуэми, къыхэлындыкIми я пшапэ кIыфIым си псэм зимыхъуэжу хэлъар, пщэдджыжь нэхулъэм деж зэи зи щхьэтепхъуэр зымыIэтар си иужьрей тыгъэу уэстынущ Уэ, си Тхьэ лъапIэ, си иужьрей уэрэдым хэлъу. Псалъэхэр хущIэкъуащ, ауэ зэи ар къызэщIаубыдэфакъым; фIэщхъуныгъэм и IэплIэ шыIэныгъэншэхэм лейуэ зашийрт абы и дежкIэ. Сэ зы хэгъуэгум сикIыурэ адрейм сыкIуэрт, ар сигу лъащIэм щысхъумэу, икIи абы ихъуреягъкIэ заIэтурэ ехуэхыжащ си гъащIэм и хэхъуэри и ужьыхыжыныгъэри. Си гурылъэхэми си IуэхущIафэхэми, пщIыхьхэми хъуапсэхэми ар я тепщэу щытащ, езыр щхьэзакъуэу икIи щхьэхуэу псэуа пэтми. Куэд къыIухьащ си бжэм абы щIэупщIэу, я гугъэри хахыжауэ IукIыжахэщ. Мы дунейм зыри абы и нэкIу иплъакъым, ар и къуэгъэнапIэм къуэсащ Уэ къыщыпцIыхуным пэплъэу. - 67 - Уэ у-уафэщ икIи у-абгъуэщ. Уей, дахагъэ! Мыбдеж, мы абгъуэм, уи лъагъуныгъэм псэр кIий макъкIи, IэуэлъауэкIи, мэ дахэкIи еуфэ. Пщщэдджыжьыр къокIуэ, дахагъэ зэкIэрыблар и дыщэ матэм илъу иIэм IэщIэлъу, щIылъэм щыму щхьэритIэгъэн папщIэ. Пщыхьэщхьэри кърокIуэ мэлыхъуэхэм ябгына хъупIэхэм, лъагъуэ зэкIэщIэжахэм, и дыщэ кхъуэщынымкIэ мамрыгъэм и къухьэпIэ хым и Iубыгъуэ щIыIэтыIэхэр къихьу. Ауэ, псэр здэлъэтэн хуей уафэ гъунэншэм зыздиубгъум, щытепщэщ нур хужь къабзащэ. ЩыIэкъым абы махуи, жэщи, теплъи, плъыфи, икIи зэи-зэи псалъэ щыIукъым. - 68 - Уэ уи дыгъэ бзийм и IэплIэр зэIухауэ мы си щIылъэм къолъатэри махуэ кIыхьым си бжэм Iутщ, уи лъакъуэм си нэпсхэмрэ хэщэтыкIхэмрэ уэрэдхэмкIэ зэIуща пшэр хуихьыжын папщIэ. Лъагъуныгъэм уигу хигъахъуэу уэ зэщIыбоуфэ уи вагъуэ бгъафэр пшэ гъуабжэ IэрамэмкIэ, теплъэ зэмыщхьхэмрэ лэдэх бжыгъэншэхэмрэ тебдзэу, икIи фэзэхъуэж защIэу блэуэ. Ар апхуэдизкIэ псынщIэщ, щабэщ, апхуэдизкIэ нэпс щIэзщ икIи кIыфIщи, - аращ Уэ ар фIыуэ щIэплъагъур, Уэ къабзэурэ наIуэм. ИкIи, мис аращ уэ уи нур хужь абрагъуэр ныбжь идзхэм я гушхуэныгъэмкIэ щIыщIихъумэфыр. - 69 - Си лъынтхуэхэм жэщми махуэми ирижэ гъащIэпс уэрыр, къафэ зэщIэжьыуэу дуней псом ирокIуэ. А гъащIэпс дыдэм къуэпс бжыгъэншэу щIы сабэм къыпхрокIри удз гъэгъа тенджызу зеIэт. А гъащIэпс дыдэр щошкIур къэхъугъэмрэ ажалымрэ я гущэм и хым, къыIуихьэурэ Iуихыжу. Сэ зыхызощIэ си Iэплъэпкъыр а гъащIэм и дунейр къызэрыслъэIусам зэригъэлъэпIар. Сэ си пагагъэри хэпсэукIащ лIэщIыгъуэхэм я гъащIэпсым, мы напIэзыпIэм си лъым къыщыфэу хэтым. - 70 - Уэ пхузэфIэмыкIыу ара мы макъамэм и гуфIэгъуэмкIэ угуфIэн? ЗыбгъэкIэрахъуэу, упIащIэу, узэхэщэщэжыну пхузэфIэкIрэ а гуфIэгъуэшхуэм и жьы кIэрахъуэм уиту? Псори къэмыувыIэу япэкIэ кIуэтэну хущIокъу, зы къаруи хузэфIэкIынукъым а жэрыжэр къигъэувыIэн, псори япэкIэ мэкIуатэ. А макъамэ псынщIэ зэпымыум декIуу гъэм и зэманхэр къоунэхури мэкIуэдыж; плъыфэхэр, макъамэхэр, мэ дахэхэр, псыпыху кIэншэу ежэхыурэ гуфIэгъуэ мыкIуэщIым хохуэж. Апхуэдэу напIэзыпIэ къэс къобыргъукI, мащIэ мэхъури мэкIуэсэж. - 71 - Сэ си сэр сщIыгъуу псоми гухэхъуэу сакIэлъыплъурэ уэ уи нурым ныбжь зэмыфэгъур трезгъэдзэнущ, аращ уи уи Майяр. Уэ езым уи щыIэныгъэм лъэпощхьэпо хыбогъэувэри макъ бжыгъэншэкIэ уи щыIэныгъэ зэпыудар къыбоджэж. А уэ уи щхьэ зыщыдзеиныгъэр сэ схэщIыхьа хъуащ. ГухэщI уэрэдыр къыщоIу уафэр зи инагъым нэпс зэмыфэгъурэ гуфIэгъуэу, гузавэрэ гугъапIэу, толъкъунхэм заIэтри аргуэру йохуэхыж, уафэгъуагъуэм зеублэри аргуэру къыщIедзэж. Мы уэ дэпщIея блыным пкъыгъуэ бжыгъэншэхэр махуэмрэ жэщымрэ я къалэмым трищIыхьащ. Абы адэкIэ щыIэщ уэ уи хьэршыр, линие занщIэ гъущэр зыфIэмыкъэбыл итхъа нашэкъашэ хьэлэмэткIэ хэдыкIауэ. Уэрэ сэрэ ди сурэт абрагъуэм уафэр еуфэбгъу. Хьэуар зэрыщыту егъэкIэзыз уэрэ сэрэ ди уэрэдым и макъым, икIи, лIэщIыгъуэ псори йокI уэрэ сэрэ дыщIахъумэурэ дыкъалъыхъуэу. - 72 - Аращ ар, гурылъ лъапIэрщ, си псэр и еIусэ щэху гъэпщкIуахэмкIэ къэзыгъэушыр. Аращ мы нэхэр къыщипхъуэу дэзыхьэхыр, икIи си гум и Iэпэсхэм гуфIэурэ ириджэгу IэфIагърэ уз зэхуэмыдэрэ зэхезыгъащIэр. Аращ ар, дыщэмрэ дыжьынымрэ я фэ зэхэхугъуейм, щхъуантIэмрэ удзыфэмрэ я фэм мы Майя и щэкIыр къыхэзыIущыкIыр, абы и зэтедза къуапэхэм сызыгъэмэх и лъэтхьэмпэхэр къыдигъэщу къыслъэIуса иужь. - 73 - Хуит къэщIыжыныгъэр си дежкIэ IэщIыб щыжынракъым, хуитыныгъэм и IэплIэр щызэхэсщIэр уэ сыщыпкъузкIэщ. Уэ сыт щыгъуи къысхубокIэ уи шагъырым щыщ Iубыгъуэ IэфIхэр – я плъыфэкIи я мэкIи зэмыщхьу – мы кхъуэщын къутэнум из пщIыуэ. Си дунейм и лыгъэм щIигъэнэнущ уэздыгъищэ зэхуэмыдэхэр икIи тригъувэнущ уи утхьэрыIуапIэм и пащхьэ. Хьэуэ, сэ зэи зэхуэсщIынукъым си гурыщIэхэм я бжэр. ТхьэкIумэми, нэми, бзэгуми я гухэхъуэр и лъабжьэнущ уэркIэ зызгъэнщIыным. Аращ, си хъуапсапIэ псори хисхьэнущ гуфIэгъуэм и мафIэ лыгъэм, си хуеиныгъэ псори щыхъунущ лъагъуныгъэм и Iэрысэм. - 74 - Махуэр кIуэри ныбжьхэр щIылъэм тегъуэлъхьащ. И чэзу хъуащ псым сыкIуэу си кхъуэщыным из сщIыну. Пщыхьэщхьэ хьэуар псым и макъамэ нэщхъеймкIэ мэзу. Уэху, пшапэзэхэуэгъуэм къызоджэ. Гъуэгу закъуэм зыри щызекIуэкъым, жьыбгъэм зиIэтащ, псы щIыIур тоукъуэлэныкI. СщIэкъым унэм къэзгъэзэжынуми, сщIэкъым хэт сыхуэзэнуми. Абдеж, псытепхъэм, кхъуафэжьей цIыкIум ису лIы мыцIыхур и шыкIэпшынэм йоуэ. - 75 - Уэ Уи тыгъэхэм, дэ, лIэжыныпсэхэм, ди гугъапIэ псори арэзы ящI, арщхьэкIэ, уи деж нагъэзэж нэхъ мащIи мыхъуауэ. Псым махуэ къэс и къалэныр игъэзэщIэн хуейщи, губгъуэхэмрэ къуажэхэмрэ пIащIэу кIуэцIрож. Ауэ абы и ежэх зэпымыум къэгъэшыпIэхэм деж уи лъакъуэхэр итхьэщIыну хущIокъу. Удз гъэгъам хьэуар и мэ IэфIымкIэ егъэнщI, ауэ абы и иужьрей къалэныр уэ къурмэн зыпхуищIынырщ. Уэ зыпхуигъэщхъыным дунейр зыкIи нэхъ тхьэмыщкIэ ищIкъым. УсакIуэм и псалъэхэм цIыхухэм езыхэр зыхуей мыхьэнэхэр кърах; ауэ абыхэм зи гугъу ящIыр уэращ. - 76 - Махуэ къэс, си гъащIэм и Пащтыхь, Уи нэкIу сиплъэу уи пащхьэ ситыну пIэрэ? Си Iэхэр зэтедзауэ, Дуней псоми я Тхьэ, уи нэкIу сиплъэу уи пащхьэ ситыну? Уэ уи уафэ абрагъуэм и щIагъым, нэщIыгъэмрэ щымыгъэмрэ сыхэту, си гур цIыкIу хъуауэ, ситыну пIэрэ уи пащхьэ, уи нэкIу сиплъэу? Сыт хуэдэ си IуэхущIафэ, Пщыхэм я пщыж, мы дунейм щалэжьынур, ситыну пIэрэ уи пащхьэ, си закъуэу икIи сыщыму Уи нэкIу сиплъэу? - 77 - Сэ узоцIыху, си Тхьэм хуэдэу, икIи жыжьэу сыщытщ – сэ усцIыхукъым усысей хуэдэу, икIи сыныббгъэдохьэ нэхъ гъунэгъуу. Сэ узоцIыху си адэ хуэдэу, икIи зызогъэзых уи лъакъуэмкIэ – сэ къэспхъуатэкъым уи Iэхэр, ныбжьэгъу хуэдэу. Сэ сыщыткъым уэ щIылъэм укъыщех щIыпIэм деж, сэ узейуэ щыжыпIэкIэ си гум уескъузылIэу ныбжьэгъу усщIын папщIэ. Уэ си къуэшхэм уащыщу узикъуэшщ, ауэ сэ абыхэм щхьэ зыкIи сыгузавэкъым, си гуащIэдэкIымкIи садэгуашэкъым, зэрыщыту уэ бдызоугуэш. ГуфIэгъуэми гугъуехьми сэ цIыхухэм сабгъэдэткъым, сызыбгъэдэтыр Уэращ. Сэ си гъащIэр сыбгынэным сыщошынэ, аращи гъащIэпс иным сыхыхьэкъым. - 78 - КъэгъэщIыгъэхэр иджыри щыщIэм, вагъуэ псори зэращIауэ щызэщIэблэм, тхьэхэр хьэршым щызэхуэсри уэрэд жаIат: «Уей, дахагъэ нэщIыса, зыми имыгъэукIытэ гуфIэгъуэ!!». Ауэ абдежым ящыщ зым жиIащ: «Нэху зэпыщIар зэпыча хуэдэщ, зы вагъуэр хэтыжкъым». Абыхэм я арфэм и дыщэ Iэпэпсыр къэкIэзызащ, я уэрэдхэр зэпыуащ, езыхэри шынауэ къыхэкIиикIащ: «Аращ а вагъуэ кIуэдар псом нэхъ нэхъ дахэт, уафэ псоми я набдзэт!» А махуэм лъандэрэ а вагъуэр къалъыхъуэ, зы тхьэм икIыу адрейм деж макIуэ а кIий макъыр; дунейм и гуфIэгъуэ закъуэр а вагъуэм хэкIуэдауэ жиIэу. Ауэ жэщкIэ даущыншагъэ куум хэту вагъуэхэр зохъуцацэ хуэму: «Лейщ лъыхъуэныр! ПIэимыкI дахагъэр псоми я щыгу итщ!» - 79 - Мы си гъащIэм уэ сыпхуэзэн хуейуэ имыухамэ, хуит сыщI сыт щыгъуи зыхэсщIэну, уэ сыпIуплъэным сызэрыханар, зы напIэзыпIэкIи сщомыгъэгъупщэу си хъуапсапIэ пщIыхьэпIэхэм сыщыхэткIи, сыщымыжейкIи а насыпыншагъэм и хьэзабыр сыгъэшэч. Си махуэхэр мы дунейм и бэзэр Iувым хэту щекIуэкIкIэ, си Iэхэми махуэ къэс къыщаугъуейкIэ, сыт щыгъуи зыхэзгъащIэ сэ зыри къызэрызмылэжьар – зы напIэзыпIэкIи сщомыгъэгъупщэу си хъуапсапIэ пщIыхьэпIэхэм сыщыхэткIи, сыщымыжейкIи а насыпыншагъэм и хьэзабыр сыгъэшэч. Гъуэгубгъум сешауэ икIи псы схуэлIауэ сыщыIускIэ, сабэм пIэ щыхэзубгъуэкIэ, сыт щыгъуи зыхэзгъащIэ гъуэгу кIыхьыр иджыри зэрызмыухар - зы напIэзыпIэкIи сщомыгъэгъупщэу си хъуапсапIэ пщIыхьэпIэхэм сыщыхэткIи, сыщымыжейкIи а насыпыншагъэм и хьэзабыр сыгъэшэч. Си пэшхэри гъэщIэрэщIауэ, макъамэхэми еуэу, дыхьэшх макъи щыIэмэ – уэ сыт щыгъуи сигу игъэлъ уэ си унэм узэрезмыгъэблэгъар, - зы напIэзыпIэкIи сщомыгъэгъупщэу си хъуапсапIэ пщIыхьэпIэхэм сыщыхэткIи, сыщымыжейкIи а насыпыншагъэм и хьэзабыр сыгъэшэч. - 80 - Сэ сыхуэдэщ бжьыхьэ пшэ пычахуэу уафэм зеуалэу итым, уо, нуру зэщIэблэ си дыгъэ! Уи Iэ къыслъэIусам иджыри игъэткIуакъым си бахъэр, сэ уэ уи нур сигъэхъуу, иджы мис, уэ сыппыIудзауэ сэ собж мазэхэмрэ гъэхэмрэ,. Уэ уи Iэмырыр арауэ щыщыткIэ, уэ уи джэгукIэри арауэ щыщыткIэ, къащтэ мы нэщIыгъэри плъыфабэу гъэщIэращIэ, дыщэкIэ тетхыхь, жьыбгъэ къуейщIейм и IэмыщIэ илъхьи хьэлэмэт зэмыщхьхэм деж щикъухь. Жэщыр къыщыблагъэкIэ, уи джэгукIэр бухыну ухуей хъумэ, сэ сыхэткIухьу сыхэбзэхэнущ кIыфIыгъэм, е пщэдджыжь хужьым и гуфIэкIэм, ущызэкIэщIэплъ къабзагъэм и щIыIэтыIагъэм. - 8I - Махуэ Iуэхуншэу зэкIэлъыкIуэхэм сэ сыхущIегъуэжт зэман кIуэдам. Ауэ ар зэи кIуэдкъым, зиусхьэн. Уэ къэпщтэжащ си гъащIэм и зы напIэзыпIэри. Сытми игу лъащIэм щIэлъу, уэ жылэм пщIанэ къыкъубогъэж, къэтIэпIахэр богъагъэ, гъэгъахэри пхъэщхьэмыщхьэ бэв богъэхъу. Сешауэ си гъуэлъыпIэм сыщыжейрт, Iуэху псори суха си гугъэу. Пщэдджыжьым сыкъэушри къэслъэгъуащ си жыг хадэр, удз хьэлэмэтхэр изу иту. - 82 - Зэманым ух щиIэкъым уи деж, си Пащтыхь. Зыми ибжыфынукъым Уэ уи дакъикъэхэр. Махуэхэри, жэщхэри блокI, лIэщIыгъуэхэри къогъагъэри полъэлъыж, удз гъэгъам ещхьу. Уэ уи гъищэхэр зыр адрейм кIэлъокIуэ, зы мэзудз гъэгъа цIыкIур ягъэщIэращIэу. Дэ зэман дгъэкIуэд хъунукъым, зэман димыIэу ди Iэмалхэр къэдгъэсэбэпын хуейщ. Дэ дытхьэмыщкIащэщ, дыкъыкIэрыхун щхьэ. Иджы мис зэманыр зэрызгъакIуэр, цIыху зэшыгъуэ къэс тыгъэ хузощI, си зэманым хущIэкъуу зыкъызигъэщIамэ. Уэ уи тхьэрыIуапIэри иужьрей дыдэ дакъикъэм нэс къурмэн тыхь темылъу нэщIщ. Махуэр и кIэм щынэблагъэкIэ, сэ сопIащIэ, уи бжэхэр зэхуэщIауэ срихьэлIэжын сфIэщIу сышынэу; ауэ си фIэщ мэхъу иджыри зэман зэрыщыIэр. - 83 - Анэ, си нэпс шыугъэхэм къыхэсщIыкIынщи, налкъут щыгъэ пхузэфIэсщIэнщ. Вагъуэхэм нурым къыхаIущIыкIри уи лъакъуэхэм лэрыпс хуащIащ, сэ си пщэхъур уи бгъэгум илъынущ. Уэ беягъэмрэ щIыхьымрэ урикъежьапIэщ, уэ ухуитщ ар хэт ептынуми, хэт хэбнынуми. Ауэ, мы сэ си гухэщIыр – зэрыщыту си закъуэ сысейщ, ар тыхьу уэ къыщыпхуэсхьым и деж, уэ уи хъерыр къызыбот. - 84 - ЗэпэIэщIэныгъэм и зэшым дуней псом зыщеубгъури уафэ гъунэншэм теплъэ бжыгъэншэхэр къыщегъэщI. ЗэпэIэщIэныгъэм и гухэщIым жэщ псом и плъэгъуэ щэхур зы вагъуэм текIым адрейм техьэурэ тхьэмпэ щхъыщхъхэм щIэжьыуэ яхуохъу июнь уэшхрилэм и пшыхьым. ДэнэкIи щызэкIэщIэж хьэзабыр куууэ хохьэ лъагъуныгъэмрэ фIэфIыныгъэмрэ, цIыхум и гухэщIымрэ и гуфIэгъуэмрэ; ар кIэншэу си уэрэдхэм хэткIухьурэ къреутхыкI сигу усакIуэм. - 85 - ЗауэлIхэр япэ дыдэ я пащтыхьым и уардэунэм щыщIэкIам дэнэ абыхэм я къарур здыщIахъумар? Дэнэ щыIа я Iэщэ-фащэр? Абыхэм фагъуэу икIи дэIэпыкъуэгъуншэу фэ ятетт, шабзэшэхэри уэм хуэдэу къателъалъэрт, я пащтыхьым и уардэунэм къыщыдэкIа махуэм. ЗауэлIхэм я пащтыхьым и уардэунэм щагъэзэжым, дэнэ я къарур здагъэпщкIуар. Абыхэм сэшхуэхэри хыфIадзащ, шабзэхэри шэхэри зыпщIыхадзащ, мамырыгъэр я натIэм тетт, я гъащIэм и кIуэцIкIэ зэхуахьэсахэри, къагъуэтахэри я щIыб къыданащ, я пащтыхьым и уардэунэм щагъэзэжым. - 86 - Ажалыр, уэ уи IуэхутхьэбзащIэр, си бжэм къыIутщ. Ар тенджыз мыцIыхум къызэпрысыкIри уи джэ макъыр си унэ къихьащ. Жэщыр кIыфIщ, сигури шынэм екъуз, ауэ си уэздыгъэр къасщтэу куэбжэр зэIусхынущ, щхьэщэ хуэсщIуи къезгъэблэгъэнущ. Уи хъыбарзехьэр къыIутщ си бжэм. Сэ зыхузогъэщхъ абы си Iэхэр зэгуэлърэ нэпс щIэзгъэкIыу. Сэ зыхузогъэщхъ абы си гум и налкъутналмэсыр и лъакъуэм хуезгъэтIылъэхыурэ. Ар кIуэжынущ и къалэн игъэзащIэу, си пщэдджыжьым ныбжь зэхэуфар трипхъуэу, нэщI хъуа си унэми къыщIэнэнур зеиншафэ си «сэ»- ращ, си иужьрей къурмэну уэ пхуэзгъэхьэзырар. - 87 - Гурыгъум сыхэту си пэшым и къуэгъэнапIэ псоми ар къыщызолъыхъуэ; сэ згъуэткъым ар. Си унэр цIыкIущ, абы зэ щIэкIам зэи къигъэзэжыфынукъым. Ауэ уэ уи псэупIэр гъунэншэщ, си пащтыхь, ар къэслъыхъуэурэ уи бжэм сыкъыIухьащ. Сэ уи пщыхьэщхьэ уафэм и унащхьэ дыщафэм сыщIэтщи си нэ темыпыIэхэр соIэт уи нэкIу сиплъэну. Сэ сыкъыIухьащ ухыгъэншэм и бжэIупэм, зэи зыри здэмыкIуэдыжым, - гугъапIэри, насыпри, нэпсым хэплъагъукIа нэкIури. Уоху, нэщI хъуа мы си гъащIэр мы хым щIэгъэтIысыкI, и кууупIэ дыдэм хэдзэ. Зэ нэхъ мыхъуми сфIэкIуэда лъэIус IэфIхэр щызыхэзгъэщIэж псори къэзыугъуеиж мы дунейм. - 88 - Зэхакъута тхьэелъэIупIэм и Тхьэ! Вина и Iэпэпс зэпычахэм дяпэкIэ щытхъу пхуаIэтыжынукъым. Пщыхьэщхьэ тхьэгъушхэми тхьэлъэIу зэманым хураджэжкъым. Уи хъуреягъкIэ хьэуар нэхущ икIи даущыншэщ. НэщI хъуа уи псэупIэм щIызэрыгуащ гъатхэ жьыбгъэ къуейщIейр. Абы къихьынущ удз гъэгъахэм я хъыбар – уи щытхъу зыIэтурэ тыхь зыщIу щыта удз гъэгъахэм. Жьы хъуа уи лэжьакIуэр йокIукI зыщIэлъэIуа гущIэгъум хуэзэшыурэ. Пщыхьэщхьэм деж, мафIэмрэ ныбжьымрэ щIылъэ кIыфIым щыхэкIуэдэжкIэ, абы ешауэ егъэзэж зэхэкъута тхьэунэм, и гур мэжалIэу. Уи Махуэшхуэ куэд щыму блокI, зэхэкъута тхьэунэм и тхьэ, тхьэлъэIу жэщ куэди блокI уэздыгъэр памыгъанэу. Гъуазджэм и IэщIагъэлI бзаджэхэм мывэ сурэт куэд ящIри зэманыр къыщыскIэ гум псори изыгъэху архъуанэм псы уэрым ирехьэж. Ауэ тхьэунэ зэхэкъутам и тхьэм хуэпщылIын имыIэу, бгынэжауэ игъащIэкIэ къонэ. - 89 - Зэхэфхыжынкъым дяпэкIэ псалъэмакъ лъагэхэр – аращ си унафэщIым и Iэмырыр. ДяпэкIэ сэ сыIущащэурэщ сызэрыпсэлъэнур. Си гум и псалъэмакъыр псым и шкIурэ макъым къыхэщынущ. ЦIыхухэр хуопIащIэ Пащтыхьым и Сату Махуэшхуэм. Абы щыIэнухэм псоми ящэнурэ къащэхунущ. Ауэ сэ имычэзууэ зыгъэпсэхуакIуэ сагъэкIуащ махуэ шэджагъуэм, лэжьыгъэм щипщтырыгъуэ дыдэм. Си хадэм щрегъагъэ удзхэр, я зэманыр къэмысами, бжьэ махуэрылажьэхэм къраIэт я ву макъ щхьэхынэр. Сыхьэт куэд, куэдрэ куэд, тезгъэкIуэдащ фIымрэ Iеймрэ я бэнэныгъэм, ауэ иджы си дэджэгуэгьум ифIэфIщ махуэшхуэхэм си гур и дежкIэ дишэхын, аращи, сщIэкъым мы джэ макъ сызыпэмыплъар къыщIысхуейм и щхьэусыгъуэри, хабзэм щIытемытри. - 90 - Ажалыр уи бжэм къыщытеуIуэну махуэм сыт уэ абы ептыфынур? Сэ си хьэщIэм хуэзгъэувынущ си гъащIэр зэрыз кхъуэщыныр – сэ ар сутIыпщыжынукъым IэнэщIу. Си бжьыхьэ махуэхэмрэ гъэмахуэ жэщхэмрэ къесхьэлIэжа жызум IэфIхэр, си гуащIэдэкI гъащIэм къиугъуеямрэ хисамрэ махуэр щиухкIэ хуизгъэувэнущ си хьэщIэм и пащхьэ, лIэныгъэр си бжэм къытеуIуэм. - 91 - Уэ, гъащIэм и кIэух – ЛIэныгъэ, си лIэныгъэ, уи Iущащэр пщIыгъуу къакIуэ си деж. Махуэ къэси уэ сыножьэрт, уэр папщIэ си гъащIэм гуфIэгъуэри хьэзабри щысшэчащ. Сэ си псэри, си гугъапIэри, си лъагъуныгъэри сыт щыгъуи уэ щэхуу къыпхущIэкъуу щытащ. Уи нэхэр зэ закъуэ иужьрейуэ къысIуплъэм, си гъащIэр уэуей хъунущ игъащIэкIэ. Удзхэр ухуэнащ, щауэм и удз ухуэнари хьэзырщ. Нэчыхь Iуэхур зэрызэфIэкIыу, нысащIэм и унэр ибгынэу, и закъуэу, жэщым и закъуэныгъэм хэту пежьэнущ и зиусхьэным. - 92 - Сэ сощIэ, къэсынущ махуэ, мы щIыр щызмылъагъужын; гъащIэри щыму IукIуэтынущ абы щыгъуэм, си нэхэм иужьрей тепхъуэр къытрипхъэу. Ауэ вагъуэхэр исынущ япэми хуэдэу жэщ уафэм, пщэдджыжьри къэтэджынущ япэм хуэдэу, сыхьэтхэми заIэтынущ тенджыз толъкъуным хуэдэу, ищIыIум гуфIэгъуэхэри гухэщIхэри къыдрахьейуэ. Сэ си иужьрей дакъикъэхэм сащегупсыскIэ, зэманым и блыныр мэщащри, лIэныгъэм и нэхум хызолъэгъукI уи дунейр, зыри зыфIэмыIуэху налкъутналмэсхэр зытезыр. Лъагащэщ абы и тIысыпIэ нэхъ лъахъшэри, лъапIащэщ абы и гъащIэ нэхъ мыхьэнэншэри! Сэ лейуэ сызыхуэзэшари, сэ къысIэрыхьари блырекI. КъысIэщIэлъхьэ сэ сыт щыгъуи сымыдамрэ Iумпэм сщIамрэ. - 93 - Сэ къызатащ зыгъэпсэхугъуэ. Сэлам къызэфхыж си къуэшхэ! Сэ фэ псоми щхьэщэ фхузощIри сожьэж. Мис си унэм и IункIыбзэр фызотри, абыкIэ си хуитыныгъэри собгынэ. Сэ сызэрывэлъэIур сэлам псалъэ гуапэ тIэкIущ. Дэ куэдэрэ дызэгъунэгъуащ, ауэ къысхуэфщIар нэхъыбэщ фхуэсщIам нэхъ. Иджы махуэр икIэм нэблэгъащ, си къуэгъэнапIэ кIыфIыр зыгъэнэхуу щыта уэздыгъэми сын иухащ. Хъыбар къысIэрыхьащи, сэ сыхьэзырщ гъуэгу сытеувэну. - 94 - Мы сыщежьэж сыхьэтым насыпкIэ фысхуэхъуахъуэ, си ныбжьэгъу лъапIэхэ. Уафэр пшэплъым и нэкIущхьэплъу зэщIоблэ, си пащхьэ илъ лъагъуэри дахащэщ. ФыкъызэмыупщI, гъуэгум здепхьэжьэр сыт жыфIэу. Сэ сытохьэ гъуэгу сыIэнэщIу, си гур гугъэу. Сэ зыфIэслъхьэнущ си нэчыхь удз ухуэнар. Сэ сэкIунукъым дунеяплъэ кIуэм и щыгъын плъыжь-гъуабжафэр, икIи си гъуэгур шынагъуэми, си псэм шынэ ищIэкъым. Ахъшэм вагъуэр къэцIуунущ си гъуэгур щызухкIэ, икIи пщыхьэщхьэ уэрэдым и макъамэ тхьэмыщкIафэхэр Пщым и куэбжэм къыдэIукIынущ. - 95 - Сэ сщIэжкъым япэ дыдэу мы гъащIэм и бжэм сыкъыщебэкъуа дакъикъэр. Сыт къару сызэрызыгъэкIар мы щэхугъэ абрагъуэм, жэщ ныкъуэм мэзым гулъыр зэрытIэпIым ещхьу! Пщэдджыжь нэхулъэм сыщыIуплъэм, сэ зэуэ зэхэсщIащ мы дунейм сызэрыщымыхэхэсыр; ЦIэи теплъи зимыIэ Зэкъуэущэхуам и IэплIэр къызишэкIащ си анэ и сурэтым иту. ЛIэныгъэм дежи, апхуэдэ къабзэу, ЯмыщIэр сэ къысщыхъунущ сыт щыгъуи сцIыхуа гуэру. Мы гъащIэр фIыуэ зэрыслъэгъуам папщIэ, сэ сощIэ лIэныгъэри фIыуэ зэрыслъагъунур. Сабийр магъ и анэм и бгъэ ижьым къыщIичыжамэ, ауэ, къыкIэлъыкIуэ напIэзыпIэм абы занщIэу сэмэгур къегъуэтри мэундэIуж. - 96 - Сэ мыбы сыщикIыжкIэ, си иужьрей псалъэу мыр щрет: а слъэгъуам нэхъ нэхъыфI щыIэнукъым. Сэ сеIубащ нурым и хышхуэм къыщыгъэгъа лотосым и фо гъэпщкIуам, икIи сэ сыунащ – щрет ар си иужьрей псалъэу. Мы теплъэ мыухыжхэм я театрым сэ си ролыр щызгъэзэщIащ, мыбдеж сэ къыщыслъэгъуащ теплъэм имытыр. Си щIыфэри си Iэпкълъэпкъ псори зэщIэкIэзызащ зыри зылъэмыIусыр къыщыслъэIусым; ухыгъэри къэкIуэнум кърекIуэ – щрет ар си иужьрей псалъэу. - 97 - Сэ уэ сыщыбдэджэгум щыгъуэ зэи сыноупщIтэкъым ухэтми. Сэ сщIэртэкъым щтэIэщтаблагъэри, шынэри, си гъащIэр борэным ирихьэжьам хуэдэт. Пщэдджыжьым жьыуэ, си ныбжьэгъуфI хуэдэу, уэ сыкъэбгъэушти сыщIэпхъуэрт уи ужь ситу, зы хуейм сикIым адрейм сихьэу. А махуэхэм сэ зэи сегупсыстэкъым уэ къызжепIэ уэрэдхэм ящIэлъ гупсысэм. Си макъым абы и макъамэхэр къипхъуатэ къудейт, сигури гуфIэу абы и къеуэкIэм тетт. Иджы, джэгуным и зэманыр икIа нэужь, сыт къикIыр зэуэ си нэгу къыщIэува мы Iуэхугъуэм? Дунейм и напIэр ирихьэхауэ уи лъапэм деж щытщ вагъуэ макъыншэхэр щIыгъуу щIыхь иныр пхуаIэтри. - 98 - Сэ удэсхьэхынущ си къуентхъ IыхьэхэмкIэ, сызэрыхагъэщIам и дамыгъэхэмкIэ. Сэ зэи си къару къихьынукъым сыхамыгъащIэу саIэщIэкIыну. Сэ быдэу сощIэ си пагагъэр зэрыщэщэнур, си гъащIэр хьэзаб мыухым хэтурэ и гъущI Iэпхлъэпхыр къызэпичынущ, къамылым хуэдэ сигу нэщIри гъуэгым и макъамэу зэрыкIынущ, си нэпсми мывэхэр игъэткIунущ. Сэ сощIэ лотосым и тхьэмпэ мин бжыгъэхэр зэхуэщIауэ игъащIэкIэ зэрыщымытынур, абы и фом и гъэпщкIупIэ щэхури къагъуэтынущ. Зыгуэрым и нэ къызэплъынущ уафэ къащхъуэм къыпхыплъу, макъыншэуи къызэджэнущ. Сэ зыри къысхуэнэнукъым, зыри, икIи уи лъапэм деж сэ къыщыпIысхынущ псоми я кIэух лIэныгъэр. - 99 - Сэ жыр пыIэр щыхыфIэздзэкIэ сощIэ ар уэ къэпщтэну и чэзу къызэрысар. ЩIэн хуейр занщIэу гъэзэщIа хъунущ. Лейщ а бэнэныгъэр. Уи Iэхэр Iухыжи узэрыхагъэщIам арэзы техъуэ, сигу, уи насыпуи къэбж мамыру уи пIэ укъызэринэжыр. Мы си уэздыгъэхэр жьыбгъэ мащIэ тIэкIум егъэункIыфI, икIи, ар щIэзгъэнэжыну селIалIэурэ, сэ аргуэру псори сщогъупщэ. Ауэ иджы сэ Iущу сыщытынущи кIыфIым сыхэту сыпэплъэнущ, си арджэныр лъэгум щызубгъуу; уэ ущыхуейм деж къакIуи, си пащтыхь, щыму къытетIысхьэ абы. - 100 - Сэ теплъэхэм я тенджызым сыхохьэ теплъэ зимыIэм и мыщIэху дахащэр къэзгъуэтын си гуращэу. Сэ афIэкIа борэным зэхикъута кхъуафэжьейм сису псым сесынукъым, зы бгъэдыхьэпIэм сикIрэ адрейм сыIухьэу. Куэд щIащ толъкъун уэрхэм я къиукIэм зыдезгъэхьэхыу щыта зэманыр зэрыблэкIрэ. Иджы сэ сыхуопабгъэ лIэныгъэмкIэ мылIэжыныгъэм сыхыхьэну. Мардэншэу кууу лъащIэм деж щыт уардэунэу, макъыншэ шыкIэпшынэм и макъ къызыщIэIукIым деж, сэ къэсщтэнущ си гъащIэм и Iэпэ пшынэр. Ар сэ тезухуэнущ пэубли кIэухи зимыIэ гъащIэм и макъым, иужькIэ, абы и иужьрей гъыбзэм и макъыр къигъэIуу щэху хъужа иужь, си Iэпэ пшынэ макъыншэр згъэтIылъынущ макъыншэм и лъапэм деж. - 101 - Сыт щыгъуи мы си гъащIэм си уэрэдхэмкIэ укъыщыслъыхъуэрт. Ахэращ зы бжэм сыIуашым адрейм сыбгъэдашэу сиIар, ахэмкIэ си хъуреягъым щысфIэкIуэда гъуэгур къэзгъуэтыжырт, си дунейр къэсхутэрт икIи иризэхэсщIэрт. Си уэрэдхэм сэ сыхуагъэсащ иджыпсту сщIэ псоми; абыхэм лъагъуэ щэхухэр сагъэщIащ, си гум и уафэм хэс вагъуэ куэд сагъэлъэгъуащ. Махуэ псом и кIуэцIкIэ гуфIэгъуэмрэ гухэщIымрэ я дунейхэм я щэхухэр схузэIуахащ, икIэм икIэжым, пшапэ зэхэуэгъуэм, си зекIуэр щызух дыдэм, сыт хуэдэ унэм и куэбжэпэ сызыIуашар? - 102 - Сэ цIыхухэм я пащхьэ сызыщытхъужырт уэ узэрысцIыхумкIэ. Абыхэм сэ си IэрыкI псоми уи теплъэр халъагъуэ. Ахэр къокIуэри къызоупщI: «Хэт ар?» - Сэ сщIэкъым абыхэм жэуапу естыжынур. Сэ жызоIэ: «ИпэжыпIэкIэ, сэ ар вжесIэфынукъым». Абыхэм сагъэкъуаншэри ауаныщIу дыхьэшхыпцIурэ IуокIыж. Уэ мыбдеж ущытщ упогуфIыкIри. Уэ пхузэхэслъхьа повестыр уэрэд мыухыу пхузоусыж. Щэхур си гум псынэпсу къобыргъукI. ЦIыхухэр къокIуэри къызоупщI: «Абыхэм яжепIэну узыхуея псор дэ къытхуэIуатэ». Сэ сщIэкъым абыхэм жэуапу естынур. Сэ жызоIэ: «Ей, хэт ищIэн сэ си уэрэдхэм къикIыр!» ЦIыхухэр къысщIэнэкIауэ Iумпэму нэмыплъ къызатурэ IуокIыж. Уэ мыбдеж ущытщ упогуфIыкIри. - 103 - Си Тхьэ, сэлам щосхкIэ си гурыщIэхэр псори къэгъэуши уи лъапэм щылъ дунейм лъэгъэIус. Уафэм лъахъшэу зыкIэрызыщIа гъэмахуэ пшэ уэшхырилэм хуэдэу, си псэр уи бжэм къыIуренэ сэлам къуихыу. Си уэрэдхэм я ежьу зэкIэщIэкIахэр зы ирехъуи щымагъэм и тенджызым хурекIуэ уэ сэлам къуахыу. Жэщми махуэми зи бгы абгъуэм хуэзэшауэ зыгъэзэж къру гупым хуэдэу,си гъащIэ псом и гъуэгур мыкIуэщIыж гъащIэм хурегъазэ уэ сэлам къуихыу.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "tagor.txt" }
Лунин Виктор ЗэзыдзэкIар Тезадэ Аскэрщ Зэ балигъ сыхъуатэм Мыдэ зэ балигъ сыхъуатэм, Псори си къуэм сэ хуэздэнт: IэкIэ езгъэшхынти шатэр Си щIыб хуеихукIэ тезгъэлъэнт. Диваным кIыхьу изгъэлъынт, Сурэти блыным щезгъэщIынт. ЦIывыр жыпкIэ кърихьэкIми, И напэр зэи имытхьэщIми, КIийми, шэдым хэпкIэми, Зыри жезмыIэнт. Шэнт лъакъуэхэр пихами, Мыжейм икIи мышхами, Джэдум и щIыб шэсами, Сыхьэтыр щIиIуэнтIами, Псы щIыIэ ирифами, Зэи абы семышхыдэнт. Псори си къуэм сэ хуэздэнт.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "tezadaaskar.txt" }
Толстой Лев Чехов Антон Зощенко Михаил Горький Максим
{ "source": "adygabza.ru", "id": "thaquaharurys.txt" }
Тырку Адыгэ Литературэ Тэгъулан Екъуб Къабзагъэр узыншагъэщ Къайсэр сыщыдэсауэ щытам, нытIэ адыгэ сымаджэри куэду къахуэзэтэкъэ, си тырку дохутыр ныбжьэгъухэм ар жаIэ зэпытт:" КъэкIуа сымаджэр адыгэрэ мыадыгэрэ къыщыщIэхьэ дыдэм щыщIэдзауэ занщIэу къыбоцIыхуф" жари. Ар даурэ къызэрыфщIэр жыпIэмэ, "ИпэщIыкIэ нэмысыфIэхэщ, сымаджэу къаша я анэжъ - адэжъхэм фIыуэ яхуыщытщ, дахэ хуыжаIэ, итIанэ къабзэхэщ, бэшэчхэщ, дохутырым къыщыкIуэхэкIэ я джанэгъуэншэдж щIагъщIэлъхэр зэрахъуэкI, ущеIэзэкIэ пщIэнтIэпсымэ къыпщIихьэнкъым" жаIэт. Ари сэ си гуапэ хъут, срипагэт абы, жаIэр пэжщ, къабзагъэкIэ дызхэс лъэпкъым куэдкIэ дащхьэщокI. «Къабзагъэр узыншагъэщ" жызыIэ зы лъэпкъым дыкъыщыхэкIакIэ, ар гъэщIэгъуэныщэкъым. Адыгэхэм я къабзагъэм гуы лъызытэр дохутыр закъуэхэракъым, адыгэ унагъуэ ихьа хэткIэй апхуэдэщ. ГъуэгурыкIуэуэ зы къуажэ ущыблэкIкIэ зэрыадыгэ къуажэр унэхэм я щIыб теплъэмкIэ напIэзыпIэм къыбоцIыху, унэхэм я блынджабэхэр етIэхукIэ ящи уэсчэсэйм хуэдэуэ хужьыбзэщ, пщIэнтIэшхуэ къапытщ, я хьэщIэщхэр щхьэхуэу хэхауэ къыдэтщ, я хадэхэр узэдащ, уардэ унэу щымытми теплъэ дахэ яIэщ. УнэкIуэцIхэри абы къыкIэрыхукъым, хьэпшыпкIэ къуауэ щымытынкIэй хъуынущ, ауэ, хуейм ирекъулейсыз хуейм иреунагъуэ бей, е фIейуэ е мэ Iей къыщIихыуэ адыгэ унагъуэ гъуэтыгъуейщ, сэ слъэгъуакъым. ШхыныфI щащхын, пIэ къабзэ щыхэлъын, хьэщIагъэ зырагъэхын пIапщIэ, мэлыхъуэ щынахъуэр адыгэ къуажэм Iуэху шыхуежъэн, гъуэгурыкIуэхэр адыгэ унагъуэ щыхьэщIэну я нэр къокI. Дыкъэcлъагъухэр къыдэхъуапсэрт. Мы зи гугъ дщIахэр Адыгэхэр Тыркум нэхъ къыщыкIуагъэщIэхэрат, нобэ жыфIэмэ иджы куэдымкIэ къыткIэлъыщIэхьэжахэщ. Адыгэхэр Хэкум къиIэпхъукIыу тырку щIыналъэм къыщыкIуа дыдэхэм, фIыгъэм хуэгъэза лъэныкъуэ куэдымкIэ дыкъызхэхьэ жылэм дакъыщхьэщыкIыу зэрыщытар ар сэ насыпыншагъэуэ солъытэ Сыт щхьэкIэ жыфIэнурэ фгъэщIэгъуэнущ, лIыгъэкIэй, щэныфIагъэкIэй, тIэкIу ипэ зи гуыгъу тщIа къабзагъэкIэй, културэм хуэгъэза дэтхэнэ зы лъэныкъуэкIэй усхэтIысхьэ цIыхуыбэм уащхьэщыкIыуэ щытмэ мыувэIэу уотэ, а нэхъыкIэ щэнхабзэм хуэгъэзауэ къапыпхын бгъуэтыркъым, кIуэху уиIэри уфIокIуэдыж. Адыгэм аращ къащыщIар, яхэлъ фIыгъуэхэм зыкъомыр яIэпыщIэхуащ, зыкъомыри IейкIэ зэрихъуэкIащ, яIэщIэлъхэри зэрыхуэфащэу фIымкIэ яунэтIэфакъым. ИкIи социално-экономикэ и лъэныкъуэкIэ фIыуэ зиужъыфакъым икIикI илъэс мин бжыгъэкIэ зэригъэпэща и хабзэ дахэхэр ихъуымэфу абы ищIыIу щIагъуэ трилъхьэфакъым. Абы ищIыIуыжи, а зэманхэм Уэсмэн паштыхьыгъуэми и къэкъутэжыгъуэ и тхьэмыщкIэгъуэт, зехьэзэхуэрэ зауэбанэм хэтти Адыгэ хэхэсхэри зы гуыгъуехьым къыхэкIхэри адрей гуыгъуехьым хэхуахэт. БлэкIа уэлбанэм щIакIуэ къыкIэлъыпщтэжкIэ зырикI къикIынукъым, ауэ зэзэмызэ согуыпсыс: адыгэхэм ХэкуыжьыпIэр щырагъэбгынам тырку щIыналъэхэр мыхъуу, мамыру, социалнэ-экономикэ и лъэныкъуэкIэ, културэкIэ нэхъ хуэщIауэ, зауэбанэ зыдыщымэIэ зы къэралыгъуэ Iэпхъуауэ щытатэмэ, нобэ и щытыкIэр даурэ хъуыну пIэрэт жызори ? Нэхъ Iей зэрымыхъуыну щытам шэч хэлъкъым. СУРЭТ ГУЭРЫМ И ХЪЫБАР ЖызыIэжар Тамбий Тухьфэщ, зытхыжар Тэгъулан Екъубщ, Тырку щIыналъэ Бешкъэзакъхьэблэрэ Азейрэ я зэхаку шыкIэ дэлъыр зы махуэ ныкъуэ гъуэгущ. Зы шы дэгъуэ утесу Мэчэнеикъуэ удэхьэрэ ПсышхуэмкIэ урекIуэкIмэ, Ло КъуажэкIэ зиукъуэдийуэ нэхъ кIэщIу зы шы гъуэгу иIэщи, мис абыкIэ урикIуэмэ шэджагъуэ мыхъууи унэсынущ. Ауэ «ТIэкIу зызгъэпсэхунщ, тIэкIуи си шыр езгъэпхъуэнщ» жыпIэрэ шхуэ уанэ - кIапэ пщIырэ Азей гъуэгу щхьэIум тет къуажэхэуэ Аслэнхьэблэ е Къунашэй удэхьэмэ, шэджагъуэ нэужь мыхъуауэ Азей узрыщемыпсыхыфынур Iэнэм телъщ. Азей и гъуэнэгъу адыгэ къуажэхэм щхьэкIэ Быгъурбащ жаIэ, а Быгъурбащ къуажэхэм я цIэхэр «ХьэщIэ фIыуэ зымылъагъу къуажэхэр» жаIэри апхуэдэу ягъэIуащи, а къуажэхэм удэхьэмэ, я унэбжэхэр быдэуэ къыхуащI, я щхьэгъубжьэ Iупхъуэхэри къыIуапхъуа жаIэ. Аслэнхьэблэхэм ар къыпхуадэнкъым, ауэ жаIэжыр мыращ. Къуажэм зэгуэрэм жи, я щIалэр дзэм щыIэти, дзэм къикIыжри я дей къэкIуэжауэ, щIымахуэ уаеуэ жэщыбгым я унэм къыIухьэжри шхьэгъубжэм теуIуат жи. «Хэт ар?» жаIэри, «Сэращ, фи щIалэр» жиIэу жэуап ирита щхьэкIэ, «Mыр гъуэгурыкIуэщ, бжэр Iудигъэхынущи аращ» жаIэри я фIэщ мыхъуу я щIалэр нэху щыху щIыбым дагъэтат жаIэ, пцIыи пэжи, гушыIэурэ ар жаIэж. Изрэ ныкъуэрэ зэрыщIэрэ, Узуняйлэм икIыуэ Азей кIуэж -къэкIуэжхэм я зыгъэпсэхупIэт а къуажэхэр, шур езыр бгъэхьэщIэнт, хьэуэрэ и шыр «бгъэхьэщIэнт», гъуэгурыкIуэм я щхьэр щIрагъэхьауэ къыщIэкIынт. Бешкъэзакъхьэблэ щыщ Тамбий Казим зы къуэрылъу цIыкIу иIэт ТухьфэкIэ еджэуэ, и куэщIым иримыгъэкIыу, абы аткIэ щымыIэуэ фIыуэ илъагъут хъыджэбз цIыкIур. Казим, цIыкIууэ и зы хъыджэбз лIати, абы и фэеплъуэ абы и цIэр и къуэрылъу хъыджэбзым фIищыжат. Хъыджэбзыр бгъафIэмэ щIыкIафIэ мэхъу жаIа. «ТIатIу» жиIэурэ Iейуэ игъафIэт адэшхуэм и къуэрылъху хъыджэбзыр. Зы махуэ гуэрэ, Казим пщэдджыжьым жьыуэ Азей кIуэну къэтэджри, и шым мышэс щIыкIэ и къуэрылъу цIыкIур жейм и IэфIыгъуэм къыхишщ, къриджэри ар жыриIащ жи: «ТIатIу, Азей сокIуэри иджы сыт къыпхуэсхьын?» - жиIэри. Хъыджэбз цIыкIуми: «Хьэж Дадэ, укъыщыкIуэжкIэ данэ бохуцеяпхъэ къысхуэхь» жиIэри и адэшхуэм IэплIэшхуэ иришэкIри иригъэжьащ. Дадэр и шым елъэдэкъауэщ, МэчэнеикъуэкIэ щхьэдэхри, Азей и гъуэнэгъу къуажэхэми Iумыуэуэ занщIэуэ Азей кIуэщ, и Iуэху зыфIигъэкIри шэджагъуэ нэужьхэм къуажэм къыдэхьэжащ. Хъыджэбз цIыкIури, «Дадэ данэ бохуцеяпхъэ къысхуихьынущ» жиIэу къыпэплъэти, и адэшхуэр къуажэм къэсыжауэ лъэмыжым къикIыжу зэрилъагъуу жэрыжэкIэ бгъэдэлъэдащ: «Хьэж Дадэ, си данэ бохуеяпхъэр къысхуэпхьа?» жиIэри. Казим пщIэхьэпIэуэ игу къэкIыжатэкъым и къуэрылъу цIыкIур данэ бохуцеяпхъэкIэ къызэригъэгугъуар. Казим абдежым шым къемыпсыхыу, занщIэу къиIуантIэщ, мыщхьэхыу Азей нэс игъэзэжщ, хъыджэбз цIыкIум данэ бохуцеяпхъэр къыхуищэхури къуажэм къэкIуэжатэм жаIэри жаIэж. Адыгэхэр, езыбы я бынхэм щIагъуэу нэсэIуасэ яхуэмыхъуу зыбгъадэмыгъэхьэ хуэдэу щытми, я къуэрылъ-пхъурылъухэмкIэ икъукIэ хъыжьэхэщ. Зыгъэи апхуэдэуэ, абы щыгъуэ сурет техыныр къежьагъащIэти, и шыпхъумрэ и къуэрылъу хъыджэбз цIыкIумрэи яхэту и унэгъухэм щыщ зы гуп Азей ишэри зыхэтхэуэ сурет зытырагъэхри къагъэзэжауэ щытащ. Зытырагъэхщ къагъэзэжри, къагъэзэжа щхьэкIэ и къуэрылъху хъыджэбз цIыкIур сурэтым нэщхъейуэ къикIат жаIэ. «ЩIыпIэ кIуэдыныр зыхуэмыкIуэнум трахыфакъым» жиIэри зримысыгъуэджэуэ зы тхьэмахуэ нэужьым аргуэру псори зэщIикъуэщ, Азей нэс ишэхэри щIэуэ я сурэтхэр тыригъэхыжат жаIэ. Мы зэ далэ, и хъыджэбз цIыкIур нэжэгужэрэ нэщхъыфIэу дэгъуэ дыдэуэ къикIат. Ар къызыщыщIар и къуэрылъу хъыджэбз цIыкIур мыхъуу языхэз нэгъуэщI зыуэ щытамэ, Тамбий Казим абы щхьэкIэ апхуэдиз гъуэгур аргуэру зэримыкIужынум шэч хэлътэкъым. «Уэр щхьэкIэ си псэр сымыгъэгъум» жыхуиIэ и къуэрылъу хъыджэбз цIыкIур апхуэдэу нэщхъейуэ сурэтым иту, ар игу техуэнт нтIэ адэшхуэм… Зымышхыжынум и мэкъу мэш щIэкIэ Адыгэхэм ехьэлIа тхыгъэхэр щыуэ зэщхьэщокI. 1) АдыгэбзэкIэ тха тхылъ – тхыгъэ. ДэркIэ пщIэщхуэ зиIэуэ «Адыгэ Литературэ» жыхуэтIэр мыращ, зытхар хэти ирехъу. Адыгэбзэр зыхъумэнури абы зезыгъэужьынури мыпхуэдэ тхыгъэхэращ. 2) АдыгэбзэкIэ мытхами адыгэхэм хуегъэзэкIауэ тхылъ – тхыгъэ. Мыбыи пщIэхуэ иIэщ, ауэ ар Адыгэ Литературэкъым. Мыхэр адыгэбзэм къыхуэщхьэпэуэ щымытми, лъэпкъыр цIыхухэм егъэцIыхунымкIэ я фIагъ куэд хэлъщ. 3) Зытхар адыгэуэ, ауэ адыгэ Iуэху хэмыту тхыль – тхыгьэ. «Зытхар адыгэщ» жытIэу, мыбы дэркIэ нэхъ лейуэ зы пщIэ иIэкъым. Мыхэр цIыху псомикI сыткIэ къахуэщхьэпэми, адыгэхэмикI абыкIэщ къазэрыхуэщхьэпэр. Адыгэ Лъэпкъым и щэнхабзэм, и гъуазджэм, и тхыдэм, и литературэм дыщытепсэлъыхьым, дыщытетхыхьым деж, адыгэбзэр IэщIыб тщIырэ нэгъуэщIыбзэхэр зетхьэ зэпыт хъумэ, кIуэху адыгэбзэр къыдэгуа хъунущ. Аурэ аурэ апхуэдурэ, къэралыгъуэ утыкушхуэ зиIэ бзэхэм адыгэбзэр къыхагъащIэнурэ, Тхьэм апхуэдэ зы махуэ къытхуимыгъэкIуэ, ауэ итIанэ тыркубзэкIэ-урысыбзэкIэ-инджылызыбзэкIэ мыпхуэдэу мопхуэдэу «Адыгэ» жаIауэ зы лъэпкъ щыIэуэ щытащ жаIэ хъужунущ. Адыгэ Литературэр, Адыгэбзэр фIэкIыпIэншэ щIэхъур аращ. Ди тхакIуэхэр зэ нэгъущI зы бзэкIэ тхэмэ, зэи адыгэбзэкIэ тхэн, адыгэбзэкIэ тхылъ къыдагъэкIын хуейщ. Абы Адыгэбзэмрэ Адыгэ Литературэмрэ къыдэмыкIуэмэ, адыгэм ятеухуауэ сыт хуэдизу тыркубзэкIэ - урысыбзэкIэ - инджылызыбзэкIэ утхэуэ щытми, абы къикIын щыIэкъым. Апхуэдэу хъумэ, зы махуэ зы махуэкIэрэ лъэпкъри бзэри мыкIуэдыжыну Iэмал иIэкъым, ухуейми жэщи махуи хамэбзэхэмкIэ адыгэм тепсэлъыхь. Зи бзэ щымыIэж лъэпкъым тыркубзэкIэ - урысыбзэкIэ -инджылызыбзэкIэ псалъэ дахэхэр жыпIэурэ утетхыхькIэ сыт къикIынур? Зы мастэ къикIынукъым. Зи бзэ щымыIэж лъэпкъым хамэбзэкIэ романышхуэхэр, усэшхуэхэр хуэптхкIэ лIо къикIынур? Ди тхыгъэхэм, ди тхылъхэм адыгэбзэр къыдэмыкIумэ, ар дэркIэ «Зымышхыжынум и мэкъу мэш щIэкIэ» жыхуаIэм хуэдэ мэхъу. ШЫ ДЫГЪУ Адыгэ литературэр – Тыркум: Тэгъулан Екъуб ХъупIэ и куэду, шы щызепхуэну фIыт Узуняйлэр. Хэкуми тIэкIу ирагъэщхьу, «Шы щызепхуэну дэгъуэщ жаIэри» арат абы итIысхьэн щIэхъуар адыгэхэр. ШыкIэт цIыхухэр зэрызекIуэр, уасэфIи ищIт шым, къэралыгъуэ дзэм иращэуэ. Адыгэхэр апхуэдэурэ зыкъомрэ шым тепсэукIащ. I950 гъэр къыщынэсам, кIуэху нэхъ мащIэ хъууэ щIидзами, Узуняйлэ щIыгум иджыри шы хъушэхэр итт изу. А гъэм, Узуняйлэм къизэрыхьат зы тырку дыгъу гуэрэ, шы сытхэр пихурэ ихуу. Ди къуажэи дэст абы хуэдэ, Хьэшым жари зылI, дыгъуэнкIэ Iэзэрэ апхуэдэ Iуэхухэм хуэIэкIуэлъакIуэу. Тырку дыгъумрэ мы Хьэшымымрэ кIуэгьу - тIысэгъу зыхуэхъуауэ Iуэху къыздырагъэкIуэкIт. Ауэрэ а тIум ди къуажэ шыхэми нэIэ традзэ. Ди къуажэ шыхъуэр Сэлихьт, Сэлихь гъуэнэгъу къуэжитI-щым яшхэри хэту хъушэшхуэ пэрытт. Зы махуэ гуэрэ, Хьэшымрэ и гъусэмрэ жэщ хъууэ цIыхухэр зэгъэжьа нэужь, зы фо матэи къадыгъури, Сэлихь шы щигъэхъу губгъуэм яхьри макIуэ. ШывейкIэ мафIэ ящI, абы и IугъуэмкIэ бжьэр ягъалIэ, бжьэ матэр якъутэри яшх. Сэлихьи къытырагъэхьэу и шыр пахуну арат я мырадыр. " Уэри Iэхьэгъу удощI", - жаIэри Сэлихьыр къагъапцIэ. Ар щыжраIэм, "Хьэуэ" жиIащ Сэлихь. «Апхуэдэу фщIымэ, дыкъащIэнщ, ауэ Мэжид лъэрыгъышитI иIэщ, щIопщ илъагъумэ, мафIэ къэлындам хэхьэну, мис ахэр щIэфш", - дыщIигъужащ. Мэжид, «шыхэр ядыгъунущ» жиIэу тегужьеихьауэ и бор IункIыбзэIулъкIэ иIыгът быдэуэ къетауэ, ауэ ХьэшымкIэ ар Iуэхутэкъым. Хьэшым дыгъуэным апхуэдизкIэ хуэIэзэ хъуати, IункIыбзэIулъыр шэхудэкIэ къытырибзыкIти езбы IункIыбзэ хуищIт. Мэжид и бо IункIыбзэри апхуэдэуэщ зэрызыIэригъэхьар. МахуитI-щы нэужьым, Iэдакъэм щыскIэлъагъэпIащIэм, жьыууэ къуажэм къыдэлъэдащ Сэлихь, "Ныжэбэ дыгъу къэкIуащ, дыгъу итщ губгъуэм " жиIэу. Дыгъу-сыт щыIэуэ аратэкъым, езбыхэм гурыщхъуэ зыхурамыгъэщIыну дыгъу щыIэ хуэдэу ягъэIуу арат. Къуажэр Iэрпхъуэр мэхъури дыгъу лъыхъуэуэ губгъуэм докI. ДэкIа щхьэкIэ, шуи лъэси и лъэужь ягъуэтакъым. Сэри сахэтт ахэм, къэдгъэзэжри си адэр гупсысэуэ пырхъуэм тест. " Къэвгъуэта Сэлихь и дыгъур?" – жиIэри щIэупщIащ, ауан тIэкIуи хэлъу. Апщыгъуэ мэкъумэш зэманти, мэшхэр шэжыпсыфэ хъуауэ апхуэдэт. «Мэкъумэш зэманым дыгъу къызэрымыкIуэнур, къакIуэмэ, лъэужь къызэригъэнэнур фщIэкъэ?" – жиIащ. Къуажэм нэхъ ипэ дыдэ хьэжым кIуар си адэрати, и цIэм «хьэж»' пагъэувауэ «Хьэж Ибрэхьим» жаIат, кIэщIу «Хьэжыи» жаIэт. "Ахэр фэр хуэдэу мыделэ, шыр мэшым зэпырихуу и лъэужь къигъэнэну, уэрей мыбы зы Iуэху щыщэIэм" Хьэж Ибрэхьим, хэтми зыгуэрэм къуажэр къызэригъапцIэр къыгурыIуат. Си адэм ар жиIа нэужь, махуищ дэкIатэкъым, Хьэшымрэ и гъусэмрэ жэщым зымикI къамылъагъуу бом щIэхьэу ящIа IункIыбзэмкIэ боубжэр Iуахыу Мэжид и шы гъэфIа - гъэбжьыфIаитIыр бом къыщIашу еуэу щежьэжам. ИщIакъым Мэжид нэху щыху и шыхэр бом зэрыщIэмытыжыр, хуейм зыхуейр игъуэтри бажэм хэдэу ущу дэкIыжат..! Къежьащ пщэдджыжьым, " Сишхэр ядыгъуащ" жиIэри, ибзэри бзаджэри жиIэуэ. Мэжид Думэныщхэ и анэшти, и анэшхэми утыку яIэти, "Сишхэр къысхуэвгъуэтыж" жиIэри и анэшхэм дей макIуэ. Ар и анэшхэм дей макIуэ, ауэ Хьэж Ибрэхьим гурыщхъуэ зыхуищIыр жыжьэ щыIэтэкъым. Хьэжыр шым мэшэс, зэмыплъэкIыу докIри губгъуэм Сэлихь шы щигъэхъум макIуэ. Мы Iуэхур Сэлихь дей къыщызрекIуэкIар къищIат, Хьэшыми зытетыр ицIыхухэт нытIэ. Мо лIыжь Iущым Сэлихь къегъэтIысри IуроупщIыхь. "СщIэкъым" жи Сэлихь, ауэ пхущыгъэуэну зыгуэртэкъым Хьэжыр, зеплъыхь зыкъеплъыхьри фо матэ нэщIыр къегъуэт щIэтIауэ. МафIэ зэрыращIыхьа шывей сахуэхэри утыкум IэткIэ-мыткIэ щикъухьат. Хьэжым Сэлихь щыхигъэзыхьым, абы фIэкIа хуэмыбзыщIу зыкъеIуэтэж": «Шыр пахунути яхуэздакъым, щымыхъум Мэжид ишхэр щIахуащ". Сэлихь къуажэм къишэжри тIэкIуи хэуащ: "Ухуэныкъуэкъым ухуэIучэкъым, сыт узезыхур" жиIэри, ауэ иужьым иутIыпщыжащ. Узуняйлэм и гъунапIкъэу зы къалэ цIыкIу щыIэщ Гурын жари. "Дэ дыкъэзгъуэтмэ дыкъэзыгъуэтынур Хьэжыращ " жиIэри ар жыриIат Хьэшым и тырку гъусэм. Хьэшым и кIуапIэ - зекIуапIэхэр ищIэт Хьэж Ибрэхьим, занщIэуэ Гурын макIуэ. ДэIуакIуэ-лъэIуакIуэ хэдэурэ лъыхъуэурэ Хьэшымрэ и гъусэмрэ зыщIэлъ хьэщIэщыр зырегъащIэ. Зы пщэдджыжь, Хьэшым и нэмэзыр ищIщ, и къурIэныр къищтэри хьэщIэщым дей ау зы выгу Iутти, а выгум йохьэри йотIысхьэ икIи къурIэн еджэу икIикI дыгъу ещэу. МакъкIэ къурIэн еджэуэ зыдэщысым, мо Хьэшымыр елъагъу, и дамэм и джанэ къуэлэныр теубгъуарэ и бэщмакъ лъыгъхэм «такъ-такъ» жыригъэIэурэ дэкIуеипIэмкIэ къехыу. Хьэжыр Хьэшым къимылъагъуу и щIыбагъымкIэ бгъэдохьэри и дамэм тоуIэ. Хьэшым зыкъигъэзэу Хьэжыр къыщилъагъум къоуIэбжьри: "Уэ дэнэ укъыздикIар, зи унагъуэр бэгъуэн Хьэжы?" жеIэ. "Уэ укъыздэкIуам сэ сыкъэкIуэфынукъэ зиунагъуэрэ!" жиIэри, абы хэту, ипэкIэ жэндэрмэм иригъэщIауэ къаувыхьагъэххэти, Хьэшыми, хьэщIэщым щIэлъ и тырку гъусэри, тIури къаубыдри хьэпсым щIадзэ. Хьэшым и тырку гъусэр жэндэрмэр щилагъум апхуэдизкIэ шынати жи, дзыгъуэ гъуанэм ихьэнут. Хьэжым, шыхэр зыращари къигъуэтщ, ахэри къыIырихыжри къеуэри къуажэм къэкIуэжащ. Абы иужьым къуажэр зыхуэсщ, "Зэ ищIами ищIащ, иджы нэужь иремыщIэж" жаIэри, Хьэшыми и гъусэри хьэпсым къырагъэгъэкIыжащ. Хьэпсым къикIыжа иужь, Хьэшым къуажэм къигъэзэжакъым. Мы Iуэхур къэхъури илъэситI дэкIауэ, сэри дзэм сыхэту Урфа сыщыIэт. Урфар Тыркум и ипщэ - къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ къыщыт зы къалэщ. Абы сыщыIэуэ, зы махуэ гуэрэ, си гъусэ гуэрэри сыдэщIыгъуу гуэл Iуфэм дыIутт, адрыщIым дыспхырыкIыну къуафэжей дежьэу. Зэуэ зэрызехьэуэ зы гуп къыIохьэ, тежджырем тесу зылIи къырахьэкIыу. УхэмыкIыфу цIыхур Iувт. "Сыт мы цIыхухэр щIызэрызехьэр?" жыдоIэри дыщIоупщIэ. "Ар я щихъращ (хъуэжэшхуэ)" жаIэри ар жаIэ, ''Зы къуажэ цIыкIухэр сымаджэ зэдэхъуащи ирагъэпщэну яшэ". Тежджырем тес щихъыр дыдейкIэ блэкI пэтрэ зэ дызэIуоплъэ. ДызэIуоплъэри, сеплъмэ, Хьэшымт щихъыр, и жьакIэр и бынджэм къэсрэ и щхьэм щхьэфIэкъуэ хужьыр фIэшыхьауэ...! Абдежым зэуэ, Хьэшым къурIэным хуабжьу дахэу еджэу зэрыщытар сигу къокIыж. И къурIэн еджэкIэм цIыхухэр дригъэхьэха къыщIэкIынт. Сыкъызэрилъагъуу тежджырэм къепкIыхщ къехри зыкъызишэкIащ. Зэ къешэкIыгъуэм си тхьэкIумэ ижьым къыхуегъазэри къоIущащэ: "Алыхьыр пщIэмэ сыпIуэтэнкъым" жеIэри. Адрей и къешэкIыгъуэм сэри и тхьэкIумэ сэмэгум хузогъазэри соIущэщэж: "Хъунщ, усIуэтэнкъым" жызоIэри. Нобэ къэсыху Хьэшым зэи зы цIыхум хуэсIуэтэжакъым.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "thigashahar.txt" }
Сосрыкъуэ Тхъуэжьейр зэригъэсар - А си анэу Сэтэней, - жиIащ Сосрыкъуэ. – Сэ сызылъыхъуэ ныбжьэгъур уэ жыхуэпIэракъым. Сэ сыхуейщ ныбжьэгъу, уэгъуэм мыкъутэжыну, гузэвэгъуэм щыгъуи мыдзыхэжыну: сэ сыхуейщ зы джатэ, сэ сыхуейщ уанэ телъу шы закъуэ. Сэтэней къогуфIэри Лъэпщ деж макIуэ. - Си къуэм сигъэпсэуркъым дуней техьэныр къыщыхьащи, - Сэтэней жриIащ Лъэпщ, - джатэ схуегъэщI, шы схуэгъуэт къызжеIэ. Ар шыгъэ-лIыгъэм пыхьэнкIэ иджыри сфIэщIалэIуэщ. - Хьэуэ, Сэтэней-Гуащэ, ущоуэ, - идакъым Лъэпщ, - уи къуэм и жаныгъуэщ. ФэкIэ щIалащэми, гукIэ лIыщ. Упэрымыуэ, шыгъэ-лIыгъэм щыпыхьакIэ утIыпщ. Ар джатэ хуеймэ, кIуэжи къэгъакIуэ си деж. Сэтэней къэкIуэжри: «КIуэ, Лъэпщ къоджэ», - жриIащ Сосрыкъуэм. Сосрыкъуэ гуфIэжу къыщолъэтри, Лъэпщ деж мажэ. Сосрыкъуэ кIыщым зэрыщIыхьэу, Лъэпщ къоупщI: - Сыт хуэдэ джатэ узыхуейр? - Сэ сыхуейщ джатэ мыкIыхьу, мыкIэщIу. Бий жыжьэр къыщышынэу, бий гъунэгъур хигъащIэу. Сеуэм пигъэщу, сепыджым пхигъэщу, - жиIащ Сосрыкъуэ. - АтIэ, мис мы джатэр апхуэдэ джатэ пхуэхъунщ, - жиIэщ Лъэпщи, Тхьэгъэлэдж и шэмэджым къыхищIыкIауэ щыта джатэр къыпихри къритащ Сосрыкъуэм. Джатэр кърита нэужь, къеупщIащ: - Иджыри сыт ухуейт? – жиIэри. - Иджы зы шы закъуэ сиIэжатэмэ, нэгъуэщI зыри сыхуейтэкъым, - итащ жэуап Сосрыкъуэ. - Шы ухуеймэ, - жиIащ Лъэпщ, - уи анэм елъэIу, абы шыфI иIэщи къуитынщ. Сосрыкъуэ джатэр кIэрыщIауэ къыщыкIуэжым, Сэтэней еплъщ, еплъри: - СощIэ иджы укъызыхуэтыр, си щIалэ. Лъэпщ а джатэр уэ щыпхуигъэфэщакIэ зыгуэр къыпхэкIыну къыщIэкIынщи, накIуэ, сэ уэ пхуэзгъэшхащ шы, - жиIэщ Сэтэней-Гуащэми, Сосрыкъуэ къришэжьащ. Сэтэней бгъуэщIагъыжьым Сосрыкъуэ Iуишэри: - Мис, си щIалэ, мы абрэ мывэр IубгъэкIуэтыфрэ бгъуэщIагъым ущIыхьэфмэ, абы шы щыбгъутынщ. Абы щIэт шым ушэсыфмэ, ар шы пхуэхъунщ, - жиIащ. Сосрыкъуэ абрэ мывэм еIэри Iуидзащ. БгъуэщIагъыжьым щыщIыхьэм шыр щыщащ, фIалъэ лъакъуитIымкIэ щIыр къриудащ. Абы щIыр къыщриудым бгыхэр дэхъейрт. Сосрыкъуэ шым сэмэгурабгъу зыхуищIри бгъэдыхьэну хуежьащ, арщхьэкIэ шым зыбгъэдигъэхьакъым, къауэу щIидзэри. Сосрыкъуэ шым ижьырабгъу лъэныкъуи зыхуищIащ. АбыкIи зыбгъэдигъэхьакъым. Ар Сэтэней щилъагъум, и жагъуэ хъуащ. - А си щIалэ, абы лIыуэ укъилъытэркъыми аращ ущIызыбгъэдимыгъэхьэр, - жиIащ Сэтэней. Ар Сосрыкъуэ щызэхихым къэгубжьри, зэ лъэгъуэу шыбгым зыридзащ. Шыр бгъуэщIагъым къыщIэлъэтри, Сосрыкъуэр ирихьэжьащ. - А си гуIэгъуэ махуэт, си щIалэ закъуэр сфIеукI, - гуIащ Сэтэней. Сосрыкъуэ умылъагъужу пшэм хихьащ шым. Сэтэней гуIэжу къэкIуэжри унэм щIэтIысхьэжащ. АтIэ сыт ищIэжынт абы? Шым Сосрыкъуэ пшэм дрихьейри иудыныщIащ, щIылъэм къырихьэхыжри зрисащ, зритIащ. ИтIаникI Сосрыкъуэ шым къридзыхыфакъым. Аргуэру ирихьэжьэри пцIащхъуэр зыдэмылъэтыф къыр зэхуакум дихьащ. ИтIаникI Сосрыкъуэр шым къридзыхыфакъым. Аргуэру ирихьэжьэри, хы къуэпсибл щызэхэуэм хэлъэри, зэпрысыкIащ, къызэпрысыкIыжащ. ИтIаникI Сосрыкъуэр шым къридзыхыфакъым. Жэщибл-махуиблкIэ лъэрытемыту шым Сосрыкъуэ кърихьэкIащ. Жэщибл-махуиблыр дэкIри, шыр ешри увыIащ. Шыр ешу щыувыIэм Сосрыкъуэ жиIащ: - Нежьэ, хьэм яшхыжын, уэ уи джэгун икIами, сэ си джэгугъуэр иджыщ къыщихьэр. АрщхьэкIэ шым и лъэр зэблихакъым. Сосрыкъуэ елъэдэкъэуащ – шым зигъэхъеякъым. Щымыхъужым Сосрыкъуэ къэгубжьри зей къудамиблыр шым трикъутащ. ИтIанэщ шыр къыщыпсэлъар. Къэпсалъэри жиIащ: - Амыщу си тхьэмыгъэпцI, жыпIэм семыпцIыжынкIэ, уэ лIы ухъумэ, сэ шы сыпхуэхъункIэ! - АтIэ шы ухъунум, нежьэ, - жиIэщ Сосрыкъуи, унэмкIэ къытриIуэнтIащ. БжэIупэм къыIулъэдэжа Сосрыкъуэр Сэтэней къыщилъагъум, къыщылъэтри гуфIэжу къыпежьащ. - А си щIалэ, сэ уэ узгъеижу сыщысти, - жиIащ Сэтэней. - Хьэуэ, си анэ, уэ сэ сумыгъей! ИIэ иджы, си анэ, схуэщI гъуэмылэ: Ари мащIэу, Ари псынщIэу. Ари куэдрэ схурикъуну. Сэ иджы сежьэнущ. Си гугъэщ си дуней техьэгъуэу! – жиIащ Сосрыкъуэ, анэ Сэтэней хуэгуфIэурэ. «Лъэпщ игъэхъахэр». ХьэдэгъэлI Аскэр зэхуихьэсыжа «Нартхэр» тхылым къитхащ.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "thuazhei.txt" }
Унафэ щIын жиIэм къикIыр «Унафэ щIын» жиIэм къикIыр псы Iуфэм уIуту псыр здэжэм уеплъынракъым. Псым унафэ хуэпщIыфынукъым ар здрижэну лъэныкъуэр нэхъ пасэу бунэтIа хьэзыру щымытмэ. Апхуэдэ дыдэу нартыхум и къэкIыкIэм и псынщIагъымкIэ хьэмэ комбайныр е тракторыр зэрылэжьэну щIыкIэр къыпхухэхынукъым: абы гъэхьэзырыгъуэ иIэщ, къэмыс щIыкIэ къэплъагъун хуейуэ. Къалэныр пэжу узыхуэкIуэну плъапIэмрэ узэрыкIуэну щIыкIэмрэ зэхэгъэкIынращ. Унафэр зезыгъакIуэ IумпIэр зэпымычын е зэрымынэн щхьэкIэ, ар зэпычмэ икIэщIыпIэкIэ зэрыдзэн, зэрынэмэ - тэмакъкIыхьу зэрыхыжын хуейщ. «Унафэ щIын» жиIэм къикIыр «къэхъунур къэщIэн» жиIэу аращ. КъэпщIа псори къэмыхъункIи зэрыхъунури къыбгурыIуэу. Куэдрэ щыхьэт сыхуэхъуащ цIыхур хэхъуэу, зиузэщI пэтрэ къызэфIагъэщIыжу щызэIыхьэ. Зыхуэсакъын хуейр: щIалэгъуалэр мыгъэжэкъуэн, абы я щхьэр егъэуназэ; нэхъыжьхэм емыгиеIуэн - гузэрыдзэ пхуащIу щIэ псоми я щIыб хуамыгъэзэн папщIэ. Дэ ди гузэвэгъуэр хэтми сытми гъуазэрэ щапхъэу ахъшэр къыхуэнащи аращ. Къалэм ещхьу къуажэ куэд уиIэм нэхъыфIщ къуажэм ещхьу къалэ куэд уиIэ нэхърэ. Ди унафэщIхэм я нэхъыбэм яхуримыкъу гупсысэр езыхэм хуэдэ, уеблэмэ ефIэкI куэд зэрыщыIэрщ. Языныкъуэ «лей къызытехьахэм» я тезырыр езыхэм къыхахыжыну хэтщ. Къуэншам иджыри саугъэт къызэфт жи. Ди дзыхь къэзмыгъэпэжа унафэщIым зэхигъэзэрыхьахэр зэхедгъэхыжын и пIэкIэ нэгъуэщIыпIэ Iудогъэувэ, нэгъуэщI цIыху гуп и IэмыщIэ идолъхьэ. Иныкъуэхэр дыщэ плъыжьым, адрейхэр гъущI фIыцIэм къыхэщIыкIауэ хуэбгъэфащэ хъунукъым, Алыхьым зым нэхъыбэ иритауэ, адрейм хущысхьауэ ущIегупсысыни щыIэкъым. Хьэуэ, псоми я «пхъуантэдэлъыр» зэхуэдэщ, ар къызэрыбгъэсэбэпращ псори зэлъытар. Хэт унафэр зыIэщIэслъхьэнур? Зым цIыхугъэ хэлъщ, ауэ фейдэ мэлъыхъуэ. Адрейри фейдэ мэлъыхъуэ, ауэ Iущщ. Iуэхур зыхуэныкъуэр - фейдэ мылъыхъуэ Iущагърэ цIыхугъэрэщ. Къулыкъум фыхуэмыпабгъэ, саугъэтхэмрэ утыкумрэ фыхуэмынэпсей. Фи напэр къабзэу фи IэнатIэр фхьы. Фи пщIэнтIэпсымрэ акъылымрэ здэщIыгъуу фIыуэ фылажьэмэ, зы Iэмэпсымэ абрагъуэм и Iыхьэ къудейуэ фызэрыщытыр фщIэжу, езыр-езыру фыкъалъагъунущ. Къулыкъу лъагэхэри, цIэ лъапIэхэри фемыджауэ къыфхуеблэгъэнущ. Лэжьэфын къэгъуэтыным нэхърэ нэхъ мыхьэнэ зиIэ щыIэкъым. Сэ абы зезгъэсэфакъым. Республикэм къэмыхъупхъэу къыщыхъуахэр арагъэнщ къызыхэкIари. Си зэранкIэ я пщIэм тегужьеикIа цIыхухэм къулыкъухэр къаIэрыхьэурэ сэри си щыуагъэхэр абы дэбэгъуащ. Къулыкъум узэIигъыхьэрэ? Куэдрэ къохъу: гу зылъумытащэ, зэ IуплъэгъуэкIэ фэшхуэ зумыплъ цIыхум къулыкъу иратри узэрыщымыгугъауэ и акъылымрэ и хэлъэтымрэ я лъэныкъуэ псэмкIи налкъутрэ налмэсу къызэролъэлъ. НэгъуэщIуи къохъу: пщIэи щхьэи хуэмыныкъуэ цIыхушхуэм къулыкъу иботри, фэншэ, мыхьэнэншэ мэхъу. Къулыкъум абы и фэм тригъэлъэда нэкIу нэпцIыр трехури, жыг кунэфыр къыщIощ – мыхьэнэншэщ, щхьэхуэфIщ, цIыхугъэншэщ. «Къулыкъум зэIигъэхьащ» жаIэ. Хьэуэ! Къулыкъум къыщIигъэщауэ аращ ар, зэ Iуплъэгъуэм гу лъумытэу нэхъыщхьэу хэлъыр тхъурымбэм ещхьу къыдрихьеящ. Лъагагъ зыхуэмышэч цIыху щыIэщ. Къулыкъури апхуэдэщ: зым ар къыфIэIуэхукъым, адрейм и щхьэр егъэуназэ. Уи къалэныр нэгъэсауэ умыгъэзащIэмэ, дунейр къутэжыным хуэдэу улэжьэн хуейщ. Ауэ махуэм уIэуэлъауэ зыпщI пэтрэ пшынэр зэгуашу, стэчанхэр зэраудэкIыу, модэ Кулижан гуэр щэхуу зэрыпыгуфIыкIыным ущIэхъупсу зэманыр бгъакIуэмэ, лэжьыгъэм уэ нэхърэ нэхъыфIи къигъуэтынщ. Дэтхэнэ зыри иджыри илъэсищэ псэуным хуэдэу лэжьэн хуейщ, а махуэм и псэр хэкIыу Iуэхур нэмыгъэсауэ къэнэжынкIэ гузавэу. А IуэхуитIыр зэхуэмыкIуэу къыпфIэщI щхьэкIэ, абы Iущагъышхуэрэ жэуаплыныгъэрэ хэлъщ. Апхуэдэу сылэжьэнщ жыпIэмэ – ар зыри пщэдей умыгъэIэпхъуэу, щIыхуэ зэтомыгъахуэу, плъапIэ гуэрхэри уиIэу IэнатIэм упэрытыныр аращ. Иныкъуэ унафэщIхэм ящIэ дыдэм нэхърэ нэхъыбэ ящIэу къафIощI, зэхах псори пэжу къащохъу. Ауэ нэхъыфIхэм ящIэIауэ къащымыхъуу ящIэу къыщIокI. Хэти елъагъу: зым и фIэщу нэмэз ещI, адрейм - театрым щыджэгум ещхьу Алыхьым папщIэ и щхьэр зэгуиудыжыну хьэзыр хуэдэ - хьэщыкъ хъуаифэ зытрегъауэ. Сыту фIыт цIыху къэс и къэухьыр и IэнатIэм хуэдизу къыдалъхуу щытамэ. Лэжьыгъэм сыщрохьэлIэ курыт щIэныгъэ къозыт еджапIэ фIэкIа щемыджауэ, ауэ гупсысэкIэ «щIэныгъэ нэхъыщхьэ иIэу». СрохьэлIэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ зиIэ «зэхэщIыкI курыт» зыIэрыхьаи. СоцIыху цIэрэ, саугъэтрэ, дамыгъэкIэ зэщIэбла гуп, а дамыгъэхэмрэ цIэхэмрэ я адакъэ сыджыр къигъэубэлэца фIэкIа, я акъылым химыгъэхъуаIауэ. УнафэщIым бгъэдыхьэгъуафIэу, узыIэпишэу, и гур зэIухауэ, дзыхь къыпхуищIу щытын хуейщ. А шэч къызытомыхьэж хьэлхэр псэ къабзэм езыр-езыру фIыгъуэкIэ къыхэкIыкI къыщIэкIынщ. Гений умыхъуу хъунукъым жиIэу зыми къыппиубыдкъым, дэтхэнэ зыри унафэщI нэс зэрымыхъуфынури гурыIуэгъуэщ. Ауэ цIыху пэжу, гумызагъэу, уи къалэныр зэрыхъукIэ нэгъэсауэ бгъэзащIэу ущымыту хъунукъым. Уи жэрдэмхэмрэ хъуэпсапIэхэмрэ гъащIэм зэрыхыупщэфынур псалъэ дыгъэлрэ макъ пхъашэкъым, къыхэплъхьам и фIагъыр нэрылъагъу зыщI щыхьэтхэмрэ гупсысэ узыншэхэмрэщ. Хуабжьу укIиинымрэ ямыщIэу умыдэнымрэ зыкъым. Куэд къыубжынымрэ куэд жыпIэнымри зыкъым. Сыт министрхэр адрей цIыхухэм къазэрыщхьэщыкIыр? ЗыкIи. Ауэ министрхэм ар ящIэркъым. Иныкъуэхэр апхуэдизкIэ хущIыхьэркъыми лэжьэну зэман къахуэгъуэткъым. «Езыр шынагъуэтэкъым и къуэдзэр мыхъуамэ» жаIэ. «Езыр» - езырыжу, и къуэдзэми и къалэныр ищIэжмэ нэхъ тэмэмщ. Акъылыншэм уигъэIущын ифIэфIщ, губзыгъэм еджэнкIэ зигъэнщIыркъым. Псоми ягу зригъэхьыну хэтщ. Абы щхьэкIэ зыми игу ирихьыркъым. Хьэбыршыбыр цIыкIухэр жьауэшхуэхэм я лъабжьэ къыщожьэ. Iуэхум зыми хэзымыщIыкIым псори фIы дыдэу къыбгуригъэIуэфынущ. Псалъэ гуэрхэр акъылри гури къамыгъэсэбэпу утыкум къолъэдэф. Сигу къэкIыжакъым, щыгъупщэх сыхъуащ жи. Щыгъупщэх ухъуауэ аракъым, къыпфIэмыIуэхуж ухъуауэ аращ. Гузэвэгъуэщ Iэтащхьэр хъуэпсапIи плъапIи къыхуэмынэжу, гумызагъагъыр фIэкIуэду, и щхьэри цIыхухэри къыфIэмыIуэхужу и пIэ итIысхьэжмэ. Жьы хъуащ апхуэдэ унафэщIыр. Дэгу-нэфщ: мэл кIапэ къыпыкIащи Iэщэ хуэIыгъыжынукъым. Сабий гъэужь Iуэхуншэхэр, хьэбыршыбырхэр, къимылэжьа зрихьэлIэну зыфIэфI ефэрейхэр къыщыхъур мылъкурэ зэфIэкIкIэ адрейхэм зыхаIэтыкIыну еIэ унагъуэхэрщ. Абыхэм Iэмал имыIэу я фэтэрыр нэхъ хуиту, я машинэр нэхъ дахэу, я унэр нэхъ лъагэу щытын хуейщ. Ар уз зэрыцIалэщ икIэщIыпIэкIэ еныкъуэкъун хуейуэ, нобэми пщэдейми зэран хуэхъункIэ шынагъуэу. Мыбдежым ерыскъы къабзэм хэпсэукIынкIэ, лейм щIэмыхъуэпсын хьэлкIэ псом япэ иту щапхъэ дахэ къэзыгъэлъэгъуэн хуейр унафэщIхэращ. ГъащIэмрэ цIыхумрэ Зи зэхэщIыкI, цIыху хэтыкIэ, Iущагъ къызэмэщIэкIыр нэгъуэщIым и зэхэщIыкIым, Iущагъым, цIыху хэтыкIэм щапхъэ трихыу псэун хуейщ. Ар губзыгъагъэщ апхуэдэ цIыхум и дежкIэ. Ар зымыщIэр сытым дежи делагъэм и унафэ щIэтынущ. Iущагъым я нэхъ лъагэр цIыхухэр зылъэIэсам укIэлъыплъурэ уэри ар зыхэплъхьэнращ. ГъащIэр дэ ди унафэм щIэту къызыфIэбгъэщI хъунукъым. Зэманыр махуэрэ жэщу дэ дытыншын папщIэ ухуауэ аращ. Щэхур – жьэкIэ жамыIаращ. Нэхъ ныбжьэгъуфI дыдэм жепIари щэху хъужыркъым. ЦIыху щыпкъэу щытыну хуейм ищIэн хуейщ ныбжьэгъухэм къадэщIыгъуу жагъуэгъуи зэриIэнур. Иныкъуэхэм деж ди телевидением уеплъ пэтрэ щIалэжь щхьэцэ гуп къолъадэ цIыхубзхэм ещхьу гъэщIэрэщIауэ. Я къафэхэми я уэрэдхэми уедаIуэмэ хьэр банэ е къугъ фIэкIа пщIэнкъым. Абыхэм ди щIалэгъуалэр йоплъри щапхъэ трах. «ЩIэуэ къежьащ». ЩIэуэ къежьар фIыщ, ауэ фIыр фIыуэ къежьаращ. ЩIалэгъуалэм ахэр зэхигъэкIыфу егъэсэн хуейщ. Упсэуну тыншкъым. УлIэну гугъущ. Ауэ псом нэхъейр зыпIэжьэIуэнращ ар гъащIэрауи лэжьыгъэрауи ирехъу. Имычэзууэ улIэным нэхърэ нэхъ Iейщ ар. Ауэ хэт апхуэдэ Iэзагъ телъыджэ зиIэр и ежьэжыгъуэр къызэрысар къыхуэубыду. Къиубыдыпауи сощIри, дэнэ «Куэдщ» жозыгъэIэфыну лIыгъэ къыздикIынур. Дунейм псори нэгъэсыпауэ щызэгъэзэхуащ. Псори и чэзум къохъу. Удзхэр и чэзум мэгъагъэри и чэзум мэгъуэлэж. КъэкIыгъэхэри, жыгхэри, псыхэри, бзухэри, псэущхьэхэри, езы щIылъэри, дыгъэ дыдэри зэи текIыркъым я чэзум. ЩIалэфIхэм языхэзым ар щыгъупщэмэ, игу къэгъэкIыжын хуейщ: «Ныбжьэгъу, уи чэзур икIащ!» Iэзагъыр - къэхъугъэм и ехъулIэныгъэщ. Ар уафэхъуэпскIым хуэдэу зэ къаблэу уфIынкIыж гуэрщ. Талантыр – лэжьыгъэщ. МэкъумэшыщIэм и лэжьыгъэ хьэлъэщ. Талантыр – Iущагъщ цIыху хэтыкIэкIэ гъэбэгъуауэ. Талантым – гупсысэм и кууагъыр хэлъщ. Талантыр телъыджэкъым, ауэ псори къызэщIеубыдэ. Iэзагъ гуэр зыбгъэдэлъ цIыхухэм тхыдэм лъэужь къыщыщагъанэр я Iэзагъыр талантым дэщIыгъумэщ. ИтIанэ ахэр нэгъэсауэ щыпкъэ мэхъури я цIэхэр политикэм, наукэм, литературэм къыхонэ! Хэкупсэм и гур лъэпкъ псоми хузэIухащ Хэкупсэ нэс ухъуфынукъым лъэпкъ зэхэгъэж пщIыуэ. Мыдрейуи - лъэпкъ зэхэгъэж зымыщIым и закъуэщ нэсу къызыхэкIар зылъагъуфынур. Зы лъэпкъыр хилъафэу адрейр япэ ибгъэщмэ, тIури пфIэкIуэдынущ. Сыту IэубыдыпIэншэ мы кърымдэсхэр! Сыт хуэдиз урысхэми, адыгэхэми, украинхэми ялъу ягъэжа абыхэм! Сыт хуэдизрэ урысхэм ящI теуа, сыт хуэдизрэ си адэжьхэм езэуа (а щIыпIэращ XIX-нэ лIэщIыгъуэм и Iыхьэ етIуанэм адыгэ лъэпкъым и Iыхьэ щанэр абы щыщыIам, Хэкум икIын хуей щIэхъуам и щхьэусыгъуэр къыщежьэр). ЦIыхур къызэрыпцIыхунур и хьэлращ. Лъэпкъыр къызэрыпцIыхунур и хьэлращ. Аращ лъэпкъ хьэл щIыжаIэр. Ауэ хьэлыр – нэхъыбэм гукъыдэжращ зэлъытар. Гукъыдэжыр – ар губжьщ е зышыIэныгъэщ, бзаджагъэщ е щабагъэщ, е цIыхуфIагъщ. Хъарзынэщ цIыхур и къэгубжьыгъуэм къэгубжьмэ, и щабэгъуэм щабэмэ. Ауэ щIагъуэкъым шхыдэу, фыщIэу зыгуэр щимыдэн хуейм щэныфIэу зиущэхумэ. Сыт хуэдизу ар щIалэгъуалэм я мыжагъуэми, ущиемрэ щапхъэмрэ хуэдэгуми, блэкIамрэ пасэрей гъащIэмрэ я гугъу хуэдмыщIу хъунукъым, дыкъызэхэкIар ящIэн хуейщ. Ахэр ди адэжьхэм къызэранэкIа хабзэм яхуэпэжын хуейщ, къаIэрыхьар яхъумэрэ ягъэбагъуэу. Иджырей сабийхэм псынщIэу зыхуейр къагуроIуэ, псынщIэу заужь. Ауэ илъэс I5-ми 20-ми ахэр егъэлеяуэ сабийуэ къонэ. ХузэфIакIамэ иджыри IэплIэкIэ къезыхьэкIын и анэм и закъуэкъым ар сабийуэ къызыщыхъур. Псом нэхъ тIэщIэкIыр гъэсэныгъэмрэ политикэ зэхэщIыкIымрэщ. Ди щIалэгъуалэм и Iыхьэм кърадзэ дунейм теткъым, къызыхэкIыр умыщIэу егъэлеяуэ псэукIэ тыншым хуопабгъэхэ. Ахэр куэд дыди хъуркъым, ауэ мыдрей Iыхьэ нэхъ иным зэран хуохъу. А щIалэхэм я адэшхуэхэм лъырэ пщIэнтIэпсрэ ягъэжащ езыхэм алыфбейрэ щIакъуэ Iыхьэрэ къаIэрыхьэн папщIэ, езыхэр шампанскэрэ шашлыкрэ фIэкIа хуейхэкъым. Ди гъавэр зэрыбэвымкIэ, ди Iэщыр зэрыбагъуэмкIэ «къуаншэр» зэрымыщIэкIэ е я насып кърихьэкIыу щIыпIэ берычэтым итIысхьа ди адэжьхэращ. А насыпым иджы лэжьыгъэм дыхуэмыщхьэхыу дэри зыгуэр хэтлъхьэжамэ, ди Iэзагъыр хэдгъэхъуамэ арат! НэгъуэщI мыхъуми езыр-езыру къытIэрыхьа тыгъэхэр идмыкъухьу, и къэуатыр щIэдмыхыу къэдгъэсэбэпыгъащэрэт. Адыгагъэ жытIэу зыщIэдгъэщIагъуэ хьэщIэ егъэблэгъэкIэм и мыхьэнэр: 1. МэжалIэр гъэшхэн. 2. Ешам зегъэгъэпсэхун. Иджыпсту екIуэкIыр хьэщIагъэ гъэпудщ. Зыгуэр чэнджэщэну къэкIуамэ – епсалъэ, щIэныгъэ хуеймэ – егъащIэ, дахагъэ къилъыхъуэмэ – егъэплъ. Ауэ шашлык кIуэцIыбгуэу фадэм йомыгъэтхьэлэ. Абы адыгэхэри балъкэрхэри дегъэпудри мыхьэнэншафэ къыттрегъауэ. Ди «ныбжьэгъу лъапIэхэм» ящыщ гуэрхэм къащыщIращ: я цIэр республикэм адэкIэ щыIуамэ, къызыхэкIахэм ящхьэпрыкIауэ забжыж. Ауэ щыхъукIэ, я щIэныгъэкIи, гъэсэныгъэкIи, IэзагъкIи, цIыху хэтыкIэри къызыхахар къэзылъхуа я лъэпкъращ. Унэхъуащ ар зыщыгъупщэр. Зы зэман КIыщокъуэ Алим зауэм теухуауэ и тхыгъэ гуэрхэм щхьэкIэ дытехъущIыхьащ. Ауэ хэт арэзы мыхъунур КIыщокъуэ Алими Кулиев Къайсыни, Темыркъан Юри дуней псом щыцIэрыIуэ совет литературэшхуэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэ пажэ зэрыхъуамкIэ. Дэри тхуэфащэщ абыхэм даригушхуэну. И щхьэ хужеIэж Хьэл дахэхэр щагуэшым сэ зыри къыслъысакъым, сатырым иужь дыдэ сит хъунт. Апхуэдэу куэд егупсыс къыщIэкIынщ. Сэ, псалъэм папщIэ, дахагъэм и зы Iыхьи къысIэрыхьакъым. Ауэ дэтхэнэ зыри егупсысыпхъэщ къилэжь псори къыбгъадалъхьауэ. А зэманым благъагъи, ныбжьэгъугъи щыIэтэкъым, Алыхьми зэхэгъэж ищIыртэкъым зыгуэрым нэхъ игу сыдыхьэнщи адрейр къэзгъэнэнщ жиIэу. Анэм къыбдимылъхуар зыми къуитыжынукъым. Иныкъуэхэм сэ лэжьыгъэм фIэкIа зыри зыфIэмыхьэлэмэт щихъыу сакъыщохъу. Ар пэжкъым. Адрейхэм тыншу сыпсэууэ, куэд сшхыуэ икIи сефэу къащохъу, ари пэжкъым. Сэ дэтхэнэ зы цIыху къызэрыгуэкIыр зэрыпсэум хуэдэу сопсэу, зыми зыкIи сыкъыфщхьэщыкIкъым. Сэ Къэбэрдей-Балкъэрым сримафIэ ужьыхыжщ. ХъуаскIэу сыщытамэ нэхъ къэсщтэнут зэкъуэтыныгъэр, ныбжьэгъугъэр, Хэкум хуаIэ фIылъагъуныгъэр нэхъ ину блэн хуэдэу. Ауэ цIыху гуэрхэр къыкъуэкIащ а мафIэр ягъэункIыфIыну хуейуэ, икIи ягъэункIыфащ. Ей, мы цIыхухэри, мы цIыхухэр! КъызэщIагъэнэн хуей хуэдэхэу мафIэм йопщэ, ауэ ягъэункIыфыну хуейщ. КъайхъулIакIэщ! Абыхэм псори къайхъулIэнущ! ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и бюром къыщипсэлъар: I959 гъэ, жэпуэгъуэ Адыгэбзэмрэ урысыбзэмрэ Урысыбзэр адыгэбзэм зы Iыхьэу къыхыхьауэ аращ. ИтIани бзэм езым и хабзэкIэ зиужьыжын хуейщ. Ауэ сщIэркъым къызыхэкIыр – урыс псалъэхэр адыгэбзэкIэ щызэрадзэкIкIэ Iэмал имыIэу урыс грамматикэм зытрагъэщIэн хуейуэ ябж. АдыгэбзэкIэ «коммунистическая партия» жыпIэнумэ къызэрупсэлъынур «Коммунистическэ парт» жиIэущ. Ауэ газетхэм ар «партие» жаIэнурэ иратхэнущ – ие кIэухыр къыздикIар мыгурыIуэгъуэу. Апхуэдизу мы Iуэхур гугъусыгъу щIын хуейкъым. Дэ гъуэгу захуэм дытету дежьат, ауэ дылъэпэрэпауэ аращ. Иджы тIэкIу зэдзэкIыгъэхэм теухуауэ. Ныбжьэгъу КIыщокъуэм пэжу гу лъитащ ди интеллигенцэр бэм зэрыпэIэщIэр, е, нэхъ пэжу жыпIэмэ, бзэ и лъэныкъуэкIэ пэжыжьэ хъункIэ зэрышынагъуэр. Ди тхакIуэхэр адыгэбзэкIэ къэпсэлъэжхэркъым. Сыт ар къызыхэкIыр? Ди алыфбейр зэрыIейракъым. Мыбдеж и щхьэ течауэ ди бзэм и Iуэхур зыIутыр жытIэфын хуейщ. Адыгэбзэр тхьэмыщкIэщ, абы зегъэужьыпхъэщ. Ауэ ар къулейсызу аракъым, урысыбзэм елъытауэ нэхъ тхьэмыщкIэу аращ. Дауи, ди интеллигентхэм я нэхъыбэр урысыбзэкIэ нэхъыфIу мэпсалъэ, абы щIэныгъэм епха фIэщIыгъэхэр нэхъыбэу щыбогъуэт. Абы къыхэкIыу упщIэ къоув: дауэ зэрызэбдзэкIынур, зэдзэкIыпхъэри сыт? КъызэрыкIуэ уэршэрым и гугъу пщIымэ, сэ тыншу сопсалъэ. Гъавэмрэ Iэщ гъэхъунымрэ егъэфIэкIуэн зэрыхуеймрэ гугъукъым утепсэлъыхьыну. Ауэ политикэмрэ наукэмрэ утепсэлъыхьыну нэхъ гугъущ. Аращи, сэ сызэреплъымкIэ, щIэныгъэмрэ техникэмрэ, бэмрэ политикэмрэ ехьэлIа фIэщыгъэхэр зэрыщытым хуэдэ дыдэу урысыбзэм къыхэкIыу адыгэбзэм хыхьэн хуейщ. Мыбдежым хуэфэщэн псалъэ къэплъыхъуэу зэман щIэбгъэкIуэдын щыIэкъым. Общественно-политическэ фIэщыгъэхэр дуней псом утыку щызыгъуэта цIэхэщ, абыхэм адыгэбзэм къыхэмыхьэпIэ яIэкъым… Урысыбзэм кърахыу адыгэбзэм е балъкъэрыбзэм кърагъэзагъэ тхыгъэхэм ткIий дыдэу тепсэлъыхьыпхъэщ. ЗэдзэкIыгъэ нэсхэр ди мащIэщ. Языныкъуэ тхылъ телъыджэхэр адыгэбзэм зыкIэ фэджэлыджэ щыхъуащи, къыпхуэцIыхужыркъым. СщIэркъым и пэжыпIэр, ауэ ныбжьэгъу Хутуевым зы колхозхэт гуэр къыхуэтхьэусыхауэ жеIэ: Сыт псори Пушкин щIыщытхъур, абы нэхърэ нэхъыфIу мыпхуэдэ адыгэ е балъкэр усакIуэр матхэ жиIэри. Ар гуэныхьышхуэщ. Апхуэдэ къэмыхъун папщIэ, зэдзэкIакIуэ зи цIэхэм щыщу зэдзэкIыкIэ зымыщIэ ныбжьэгъухэр къахэшауэ: «Ныбжьэгъухэ, фэ нэгъуэщI IэнатIэ гуэр фыпэрыхьэ. ЗэдзэкIын Iуэхур адыгэбзэрэ балъкэрыбзэ фIыуэ зыщIэ, а бзэхэмкIэ фIыуэ тхэф КIыщокъуэм, Отаровым, ЩоджэнцIыкIум, е нэгъуэщI зыгуэрхэм зэфIагъэкIынщ» яжеIапхъэщ. Ди литературэм теухуауэ Сыт ди литературэр зыхуейр адэкIи и гъуэгур бгъуфIэу зиужьын щхьэкIэ? Псом япэ – критикэфI, щхьэмыгъазэу, ауэ адэм хуэдэу фIым ухуиущиеу… Дэ гукъыдэжышхуэ диIэу усэ гуэрхэр тыдодзэ усэкIэ уригъаджэу и сатырхэр къэщыпарэ зэрызэгъэзэхуам фIэкI ябгъэдэмылъу. Усэ кIыхьхэр къежьащ газетым е журналым и зы къыдэкIыгъуэм имыхуэу, адрейм гъэIэпхъуэн хуейуэ. Ди ныбжьэгъу гуэрым сатыр 9500-рэ хъууэ усэ итхащ жаIэ. Сыт хуэдэ мардэ нэгъуэщI а усэм и фIагъыр къызэрупщынур и сатыр бжыгъэм нэмыщI? Усэ мыхьэнэншэхэр ятх къудейкъым, щIэрыщIэу къытрадзэж. Усэ тхылъ щызхэр къыдокI я жинт щIыIум «Фымытхэ» жыпIэу тетхапхъэу. Апхуэдэу Iэпэдэгъэлэлу усакIуэ ныбжьыщIэхэм ухущытыным фIым дыхуишэнукъым. Усыгъэм и пщIэр зэрыдгъэлъахъшэм нэмыщI, цIыхухэм абы хуаIэ фIылъагъуныгъэр къыдогъэтIасхъэ, пэжу дунэтIмэ зызыужьын талантхэри догъэкIуэд. Апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм талант зиIэ ныбжьыщIэхэм таурыхъым хэт зэгъунэгъуибгъум я шэ пэгунибгъур изыф джэдум и махуэ къыхуэкIуэнущ. Пэжщ, джэду шырым ар и жагъуэкъым, и къугъ макъри бзубзэрабзэм и жьыуэкIэм нэхърэ нэхъыфIынкIи хъунщ. Ауэ апхуэдэ джэдум зэи дзыгъуэ къиубыду зригъэсэфынукъым. Дэ зы унагъуэ узыншэшхуэ дохъу, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, дзыгъуи ди куэдщ. Ахэр гъэкIуэдын Iуэхум усакIуэхэр хэмыту хъунукъым. ЖысIэну сызыхуейр – ди ТхакIуэхэм я Зэгухьэныгъэми, ди тхылъ тедзапIэми литературэ гуащIэдэкIыу дунейм къытрагъэхьэм елIэлIэн хуейщ. Пэжщ, бжыгъэ дыхуейщ, ауэ фIыр зи нэщэнэ бжыгъэщ дызыхуейр. ФызгъэгувэнкIэ сыгузавэми, зыгуэр къыщIызмыгъуу хъунукъым. Дэ литературэм и зыужьыныгъэм догупсыс. Литературэм и зыужьыныгъэм дытопсэлъыхь. Сыт къызэрыпхутэнур абы и лъагагъымрэ и мыхьэнэмрэ? Псом япэ, дауи, усакIуэхэм, тхакIуэхэм, драматургхэм, абыхэм я тхыгъэхэм, я зэдзэкIыгъэхэм я бжыгъэмкIэщ. Ауэ псом нэхъ укъэзымыгъапцIэу литературэм и фIагъыр къызэрупщын мардэр – тхылъеджэхэм я бжыгъэмрэ абыхэм тхакIуэхэм жаIэм и хьэтыр зэралъагъу-зэрамылъагъумрэщ. Анэдэлъхубзэмрэ литературэмрэ школхэм зэрыщаджыпхъэм теухуауэ Мэлбахъуэм партым и обкомым и бюром щыжиIам щыщ: I968 гъэ, дыгъэгъазэ Мы Iуэхум дытепсэлъыхьыныр къыхэзылъхьар сэращ, тIэкIуи сыныкъуэкъуэн хуей хъуащ ар ирамыгъэкIуэтэкIыжын папщIэ. Уеблэмэ иджыпстуи Iуэхум сызэрыхуейм хуэдизу убгъуауэ дытепсэлъыхькъым, зэхэгъэкIыпхъэ псори убзыхуа хъун папщIэ. Сэ къызгуроIуэ Iуэхур зыIутыр, ауэ мыбы ехьэкIыпхъэ иIэжкъым, мыр политикэ Iуэхущ зэхэдмыгъэкIыу мыхъуну. Мыбы тепсэлъыхьмэ зауцIэпIыжынкIэ гузавэу зызыгъэIупэбацэхэми цIыхуфIкIэ, лэжьакIуэфIкIэ, коммунистыфIкIэ уеджэ хъунукъым. Лъэпкъыр къызэрацIыхур и бзэмрэ псалъэмрэщ. Дэ езым ди бзэмрэ ди лъэпкъымрэ пщIэ хуэдмыщIыжмэ, сыт лъэпкъ гъуазджэти лъэпкъ щэнхабзэти жытIэу дыщIыдэтынур, апхуэдиз тхылъ анэдэлъхубзэкIэ къыщIыдэдгъэкIынур? Хэт щхьэкIэ? Зи бзэр зымыщIэжхэу, ящIэнуи хуэмеиххэхэм папщIэ? ИIэ-тIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым Налшык область фIэдвгъэщыж. Псори дытыншыжынщ… Школхэм адыгэбзэрэ балъкъэрыбзэ щаджын щагъэтам и закъуэкъым, хэкум и тхыдэм, и географием сабийхэр ирагъэджэххэркъым…. Адрей лъэпкъхэм къахэкIахэр, уеблэмэ хамэ къэрал щыпсэухэр КIыщокъуэм, Кулиевым я тхыгъэхэм йоджэхэ, ахэр гъуазджэм и лъагапIэу къабж, сытемыукIытыхьу жысIэнщи. Сыт ди тхыдэм и лажьэр? Лъы нэхъ мащIэ дгъэжа, пщIэнтIэпс нэхъ мащIэ итIкIута? … Адэ-анэхэр хуейкъым жаIэ. Хуэмейхэмэ – хуейкъым. Уи бзэр пщIэжыну ухуэмейрэ – уемыджэ. Ауэ икIи къомыгъэсэбэп балъкъэрхэмрэ адыгэхэмрэ щхьэкIэ щхьэхуэу къакIуэ Iэмалхэр. Дэ илъэс къэс цIыху щэныкъуэм нэс къэралым и еджапIэ нэхъыщхьэхэм зэпеуэм хэмыту щIагъэтIысхьэну догъакIуэ. Налшык университет къыщыщIызэIуахар мыр Налшык область мыхъуу Къэбэрдей-Балъкъэрти аращ, лъэпкъым хуэлэжьэнухэр ягъэхьэзырын папщIэ. Дэри Iэмал зэриIэкIэ лъэпкъхэм къыхэкIахэр къыдощтэ. Щышынэн хуейкъым «Университетым нэхъыбэу щIэсыр адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэщ» жаIэу къытхуэпсалъэхэм. ЩIэсщ икIи щIэсынущ! Дауэ-тIэ нэгъуэщIу? Дауэ нэгъуэщIу щIыпIэ пхыдзахэр пэрытхэм зэрыщIэрыбгъэхьэжынур лъэпкъ щхьэхуэхэм уемылIалIэмэ? Иджыпсту къэхъур куэдкIэ алыфбейм епхащ. Дапщэщ дылъэпэрэпэнкIэ дышынэу псэун щыщыдгъэтынур? Лениным жиIауэ щытащ «Урысныкъуэ хъуа лъэпкъылIыр шовинист нэхъ шынагъуэ дыдэхэм щыщщ» жиIэри. Уэ, ныбжьэгъу Ш., алыфбейм и зыужьыныгъэм гулъэф ухуохъу. Илъэс I5 хъуауэ ар ебгъэфIакIуэ хуэдэу къыболъэфэкI. Сыт хуэдиз Iуэху щызэфIаха а илъэс пщыкIутхум щIылъэми уафэми, хьэуами, псы щIагъми? Ауэ щыхъукIэ алыфбейр тхунэгъэскъым. Илъэс I5 дрикъуакъым абы щхьэкIэ. Дыхьэшхэнкъэ егъэджакIуэ щэныкъуэм щыщу бгъум фIэкIа диктантыр тэмэму зэрахуэмытхар. УнэтIыныгъэ нэхъыщхьэр долъагъу: бзэхэр зэпэгъунэгъу мэхъу урысыбзэр я лъабжьэу, хамэ къэралыбзэхэм я гугъу сщIыркъым иджыпсту. А дэ къыхэтха гъуэгури – япэ классым щегъэжьауэ адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ урысыбзэ яджыныр – гъуэгу пэжщ, абы щыщтэн хуейкъым. СССР-м и Конституцэм республикэ унафэщIхэр щытепсэлъыхьа зэхуэсым щыжиIам щыщ, I977 гъэ Илъэс 420 ипэкIэ адыгэ лъэпкъыр зэрыпхъуакIуэхэм яIэщIыхьэнкIэ гузавэу Урысей къэралым езым и гукъэдэжкIэ гухьэри и Iыхьэ хъуащ. Ауэ а лъэхъэнэм а Iуэху щхьэпэм, Iуэху угъурлым цIыхубэ зэхэтыкIэм къалэн гуэри щигъэзащIэу щыттэкъым. Иджыри лъы куэд жэнут, гугъуехь куэди гъуэгум телът. Мы лIэщIыгъуэм и щIэдзапIэм зэгуэр абрагъуэрэ лъэщу щыта, пащтыхьхэм я нэхъ къаруушхуэ зыбгъэдэлъымрэ нэхъ шынагъуэмрэ игъэблэгъэну зримусугъуэджа лъэпкъым и бжыгъэр пщIыкIэ хэщIауэ щытащ. Лъэпкъыр шхын щхьэкIэ зэтелIэрт, зауэмхэмрэ уз зэрыцIалэхэмрэ махэ ящIауэ. А зэман гугъусыгъур адыгэ лъэпкъым и нэхъыбэр Тырку къэралыгъуэм зэрыIэпхъуэжамкIэ иухащ. ЛIэщIыгъуэ блэкIам и кIэм Кавказымрэ Кърымымрэ щагъауэ топхэр увыIа нэужь, инджылыз пащтыхьымрэ тырку сулътIанымрэ езыхэр зэрытхьэлэж пэтрэ гумащIэ зэхуэхъужхэри ди лъэпкъым зэи и гум имыхужын «фIыгъуэ» къыхуахьащ. Урыс пащтыхьым сомитху иритырт и Хэку лъапIэр зыбгынэну арэзы унагъуэ къэс, Iэщри, унэри, щIыри къигъанэу муслъымэн диным и куэщI щылIэжыну щIыпIэм кIуэм. Инджылыз пащтыхьым пщIэншэу кхъухь гъуанэхэм я пхъэ гъэсыныр къаритащ. Ахэр цIыху мин тIощIырыпщIхэр ису псым щIилъэфащ. Тырку сулътIаным «джаурхэм яуцIэпIа» щIыналъэхэр зыбгынэ Сочи, Псыхуабэ, Псыжь адрыщI щыщ адыгэхэр хуит ищIащ шындырхъуо нэгъунэ зэрылIыхь къумхэм итIысхьэну. Апхуэдэу Тыркум ежьа мин 600-м и процент 80-р хэкIуэдащ. Мыбдежым къина адыгэ лъэпкъым и къуэпсхэри зэрыутIыпщри къэбэрдейхэр, шэрджэсхэр, адыгейхэр зэпэIэщIэ хъуащ.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "timbora.txt" }
Сейфеддин Омер (Хьэтыкъуэ Умар) ЗэзыдзэкIар Къэрмокъуэ Хьэмидщ ГЪУКIЭ Махуэр зи кIыхьагъым щызэпыуркъым кIыщым сыдж макъыр. ГъущI плъар сыджым трегъэлъадэри, уадэ хьэлъэмкIэ йоуэ гъукIэр - мафIэ хъуаскIэр мэлъейри, кIыщ кIуэцIыр зэщIагъэнахуэ. ГъущI хъарым ираубыда аслъэным ещхьщ гъукIэр, апхуэдизкIэ пIащэщ, Iэчлъэчщ. ИлъэсипщI мэхъу мы кIыщым зэрыщIэтрэ, абы лъандэрэ и Iэдакъэ къыщIэкIа сэшхуэхэмрэ къамэхэмрэ цIэрыIуэ хъуащ - тырку гъунапкъэхэм щхьэдэхащ! Истамбыл дэс янычархэм сэшхуэ, джатэ, къамэ къащэхунумэ, япэ зэплъыр Хьэжэлий и дамыгъэрщ: абы и дамыгъэ телъмэ, сэшхуэми, джатэми, къамэми укъагъэщIэхъунукъым. Жырыр тIэунейрэ зэрапсыхь щIыкIэм щыгъуазэт Хьэжэлий. Абы ипсыхьамэ, сэшхуэ дэнэ къэна, къамэри бгъэш хъурт, бгъэшкIэ зэпылъэтынутэкъым. Хьэжэлий фIэкI, зыри щыгъуазэтэкъым жырыр тIэунейрэ зэрапсыхь щIыкIэм и щэхум. ГъукIэгъэсэн къищтэртэкъым, псэлъэгъуейт, кIыщым къыщыщIэкIри зэзэмызэт. Фызи, быни, благъи иIэтэкъым Хьэжэлий - и щхьэ закъуэ и лъакъуитIт. ЩыгъукIэ куейм щыхэхэст Хьэжэлий. КIыщым зыгуэр къыщIыхьамэ, псалъэмакъыр Iэщэм, гъущIым, жырым, мафIэм фIигъэкIыртэкъым. УасэкIэ ухигъэ- зыхьынутэкъым - ептыр и Iыхьэт, къодэуэнутэкъым. Iэджэ ягъэхъыбарырт гъукIэм щхьэкIэ. «Пащтыхьым и благъэщ»,- жызыIи щыIэт. «ЯукIынути, зигъэпщкIури, лъэныкъуэ зригъэзащ», - жаIэрт нэгъуэщIхэм. «ФIыуэ илъэгъуа хъыджэбзыр лIати, ар игу щIыхьэри и щхьэр кърихьэжьауэ аращ» - апхуэдэ хъыбари кърахьэкIырт цIыхум. Лъэпкъ къызэрыхэкIар Хьэжэлий и фэми къиIуатэрт: и нитIыр жант, къабзэт, нэкIу угъурлыфэт; и щхьэ и уасэр зыщIэж цIыхур гъуэщэнукъым - апхуэдэт Хьэжэлий, и псэлъэкIэ къудейри арат щыхьэт зытехъуэр: жьэнахуэт, и бзэр шэрыуэт, и псалъэр кIэщIт. Хэт езыр, сыт лъэпкъ, дэнэ къикIа - ар зыми ищIэртэкъым. ЯмыщIэми, цIыхум фIыуэ ялъэгъуат, ирипагэрт я къалэм апхуэдэ гъукIэ зэрыдэсым. Псоми жаIэрт: - Ди Хьэжэлий! - Ди гъукIэ Iэзэ! - Хэт къыпэхъун ди гъукIэм! - Жырым и щэхур ещIэ! ГъущI тыкъырым нартыху бзий хуэдэ пIащIэ сэшхуэ къыхэпхуныр тынш! Ар хузэфIэкIырт Хьэжэлий, абыкIэ къыщIыхьэн щыIэтэкъым. Илъэс пщыкIутIым итт ар, и адэр щаукIам. Къулыкъушхуэ зэрихьащ и адэм - бейлербей[1] IэнатIэ бгъэдэтащ. Игу къебгъа хъунти, пащтыхьым иригъэукIащ. ЩIалэ зеиншэр и адэ къуэшым зришэлIэжащ. Хьэжэлий и адэ къуэшыр уэзирт, къулейт, пщIэ иIэт. ЩIалэ цIыкIур иригъэджэн и мурадащ и адэ къуэшым, цIыхушхуэ, къэрал унафэщI къыхэкIынкIэ щыгугъырти. Хьэжэлий щIалэ пагэу къыщIэкIащ: игу техуакъым тхьэмыщкIафэ къызэрыраплъар. «Зым и щIыхуи сыхуейкъым!» - арат игу темыхуар. И адэ къуэшым къыкIэщIэкIуэсыкIыжащ щIалэ цIыкIур. Хьэулейуэ дэувэжри, къыздыщыгцIимыдза къэнэжакъым. ИкIэм-икIэжым Эрзрум гъукIэ лIыжь гуэрым щрихьэлIэри абы гъукIэ- гъэсэн хуэхъуащ. ГъукIэ лIыжьым Iэджэ къригъэлъэгъуащ щIалэм. Аращ жырыр тIэунейрэ зэрапсыхь щIыкIэм щыгъуазэ зыщIар. Хьэжэлий гурыхуэт, и нэм илъагъур и IитIым ящIынут. Зы махуэ зыщIригъэхакъым гъукIэн зэры- щIидзэрэ, пщIэнтIэпсыр къызэрыпыжым, гу лъитэххэркъым, щышхэнумрэ щыжеинумрэ фIэкI етIысэхынукъым. Уи гур хэхъуэрт, Хьэжэлий ипсыхьа сэшхуэр е къамэр плъэгъуамэ, пIэщIэлъамэ! Зи гум мафIэ щыблэ цIыху Iэзэ дыдэт апхуэдэ сэшхуэрэ апхуэдэ къамэрэ зыпсыхьыфынур. Хьэжэлий и сэшхуэр, езым и дамыгъэ тримыдзэми, зыхэгъуэщэн щыIэтэкъым, ар дэни къыщацIыхурт, дэни щыцIэрыIуэт. ГъукIэн зэрыщIидзэрэ зыщысхьыжакъым Хьэжэлий, и гуащIэрэ и IэщIагъэрэ еблакъым. Тхьэм жиIэмэ, и щхьэ псэумэ, иджыри сэшхуэ Iэджи, къамэ Iэджи, джатэ Iэджи ипсыхьынщ Хьэжэлий - арат гъукIэм и гуращэр... * * * А махуэм, пщэдджыжь нэмэз ищIри, Хьэжэлий сыджым еувэлIащ – сыхьэтипщI нейкIэ къиIэтакъым и щхьэр, уадэр игъэтIылъакъым. ПщыхьэщхьэхуегъэзэкI хъуауэщ пщIэнтIэпсыр щрилъэщIэкIар: гъущI упщIыIужар сыджым къытрихыжри зригъэтIылъэкIащ, зызэ- пилъэщIыхьыжри кIыщыбжэм иуващ. БжьыхьэкIапэм бзур щозэгъэж, муIэзиным и макъ зэпышыр мэжджытымкIэ къоIукI - ичынды нэмэзым и чэзущ. Андез ищтэщ, и Iэщхьэр кърихьэхыжри кIыщым къыщIэбэкъукIащ гъукIэр, кIыщыбжэр иридзылIэри (IункIыбзэ ирит и хабзэтэкъым) мэжджытым кIуащ. Къалэ гъунэм щыт мэжджытым екIуалIэ хабзэр нэхъ хуэмыщIахэрат. Мэжджытым азэнджапIи хэттэкъым, муIзиныр щхьэгъубжэм къыIуувэурэ азэн джэрт, нэмэз щIыгъуэ хъуамэ. Мэжджытым щыщIыхьэм, гъукIэм гу лъитащ цIыхур нобэ зэрыIувым. Адрей махуэхэм мэжджытым уэздыгъищт щыпагъанэр, ныщхьэбэ мэжджытым уэздыгъэ псори щыпыгъэнат, нэщI мазэ къихьа хуэдэ. Хьэжэлий бжэщхьэIум ебакъуэри етIысэхащ. Къыбгъурысхэм къыжраIащ Конья дэрбыщитI къызэрикIар: дэрбыщитIыр жасы хъуху къахуеджэнут Руми и пшыналъэ цIэрыIуэм – «Месневи». Нэмэз ящIри, цIыхур зэхэтIысхьэжащ. ГъукIэри и пIэ икIакъым: «Дэрбыщхэм седэIуэнщ», - жери. Я макъ утIыпщауэ, дэрбыщитIыр чэзу-чэзууэ къахуеджащ Руми и пшыналъэ цIэрыIуэм – жасы хъуху я жьафэр къехакъым. Пшыналъэр зыхищIащ Хьэжэлий, и гум ешыкъылIащ. Руми и пшыналъэр и гум хыхьауэ, гъукIэр мэжджытым къыщIэкIыжащ. Жэщыбг хъуами, и жеин къакIуэтэкъыми, жьым хэтын мурад ищIащ Хьэжэлий. Жэщыр бзыгъэщ, хуабэщ. Вагъуэзэшиблым, дыжьын кIанэ хуэдэ, уафэм зрагуэшащ. Лъэмыжым нэсри, лъэмыж натIэм зытригъэщIащ Хьэжэлий. Псым вагъуэхэр къыхоплъ, псыхъуэ дзэлым жэнэт бзухэр щобзэрабзэ. Абы ятхьэкъуауэ, лъэмыжым тетщ гъукIэхэр – дэнэ здэпIащIэр: Вагъуэзэшиблым загъэзэным куэд хуейщ иджыри. Хьэжэлий и щIыбагъкIэ макъ къыщыIуащ асыхьэтым: - Хэт ар? ГъукIэр къащтэри зэплъэкIащ: лъэмыжым фIыцIагъэ гуэрхэр къытехьауэ къыбгъэдэкIуатэрт. - Сэращ… - жиIащ Хьэжэлий, шынауэ. - Уэ ухэт? - Сы-Хьэжэлийщ. ФIыцIагъэхэр къыбгъэдыхьащ. - Уэра ар, Хьэжэлий? – къацIыхужащ гъукIэр. ГъукIэм игу къихьэжатэкъым, къэщтати. - Ди гъукIэра хуэдэщ, ы? - Сэращ… - Жэщыбгым сыт мыбдей щыпщIэр? - Зыри … - Iэгъу! Зыри умыщIэуи? Уи уадэр псым хыумыгъэхуауэ пIэрэ? Жэуап яритыжакъым и гъукIэм. Къыбгъэдыхьахэр къицIыхуащ: жэщ къэрэгъулт. ХъунщIакIуэхэми щышынэртэкъым цIыхур къэрэгъулхэм зэрыщышынэм хуэдэу: зэкъуэхуауэ уаIэрыхьамэ, уи щхьэр фIашхыкIынущ. Афиян йофэри уэрамым къыдохьэ, уи закъуэ уапэщIэхуакъэ - укIуэцIакъухьынущ. ГъукIэ цIэрыIуэм къракуакъым жэщ къэрэгъулхэм. - Уи акъылым уикIа? - СикIакъым... - Унафэм ущыгъуазэкъэ? Жасы нэмэзым и ужькIэ уэрамым укъыдыхьэ хъунукъым - ар щхьэ умыщIэрэ? Ари къалэ гъунэм! - СощIэ... - ПщIэмэ, лъэмыжым щхьэ утет - жэщыбгым фIэкIащ. Сыт мыбдей щыпщIэр? – кърахухь жэщ къэрэгъулхэм. - Зыри... - Бдзэжьей уещэрэ-тIэ? Абыи жэуап иритыжакъым гъукIэм. Жэщ къэрэгъулхэм ящIэрт гъукIэр зэрыхьэрэмыншэр - и гугъу ящIакъым. ЩыбгъэдэкIыжым, къраутIыпщащ: - Жэщыбгым къыумыджэдыхь: узыIууэнур пщIэнукъым. Хьэжэлий лъэмыжым къытекIыжащ. Руми и пшыналъэр и щхьэм итщ иджыри - и гум зэрыхыхьащ. Жэнэт бзухэри мэбзэрабзэ. Псы Iуфэм Iут чэтымкIэ хьэ банэ макъ къоIукI. Зы цIыхупсэ ирихьэлIакъым къыздэкIуэжым - къалэ уэрамхэр нэщIщ. КIыщыбжэр IугъэузэщIыкIауэ ирихьэлIэжащ гъукIэр. Мэжджытым щыкIуэм бжэр зэрыридзылIар ещIэж. «Жьым Iуихауэ пIэрэ?» - аращ гъукIэм зыхуихьар. Сыджымрэ Iэдэ-уадэмрэ фIэкI, щIэпхын щIэлъкъым кIыщым. ГъущIыкIэ щхьэкIэ дыгъу щIыхьэн кIыщым? КIыщым щIыхьэжри, бжэIулъэ иритащ. Жэщ къэрэгъулхэр и нэгу щIэтщ иджыри: сыт зыхуеяр? Жэщым уэрамым удэт хъунукъэ? Мыхъунумэ, щхьэ ямыубыдарэ? ЯубыдкIэ, сыт пахын гъукIэм? Абыи егупсысащ гъукIэр. Ешащ нобэ – зэрешар иджыпстущ щызыхищIар. Уэздыгъэри пигъэнакъым: плIанэпэм дэт пхъэ гъуэлъыпIэм зригъэукIуриери мыщафэр зытрипIащ. Пщэдджыжьым жьыуэ бжэм зыгуэр къытеуIуэри, къигъэушащ. Хьэжэлий къызэфIэтIысхьащ. - Хэт ар? - Бжэр Iух! ПсынщIэу! Хэжеяуэ къыщIэкIащ гъукIэр - жьыуэ зиужь и хабзэт. Дыгъэм и бзийр кIыщым къыщIедзэ - нэху зэрыщрэ куэд щIащ абы щыгъуэ. Дауэ хъуа ар, щхьэ хэжея? ИгъащIэм къыщыщIакъым, щыхэжея къэхъуакъым кIыщым зэрыщIэт лъандэрэ. Нэху щакъэ - сыджым бгъэдэувэрт, уадэр къищтэрти. Иджы сыт къэхъужар? Гувауэ зэрыгъуэлъыжарагъэнщ. ЗыкъиIэтри, гъукIэм бжэIулъэр Iуихащ. Бжэр къызэIужри, нэхур гъукIэм и нэм къыщIидзащ. ГъукIэм и пащхьэ итт жэщ къэрэгъулхэм я пашэр, хьэтхауэ зыщыплIи къеувэкIауэ. Я бгыми ищIа сэшхуэмрэ къамэм- рэ я Iэпщэр яIыгъщ хьэтхауэхэм. Хьэжэлий, и нэр къихуауэ, яIуплъащ «хьэщIэхэм» - пщэдджыжь нэмэзым зыхуейр сыт? - Хьэжэлий, уигу къыдумыгъабгъэ: уи кIыщыр къэтщын хуейщ. - Сыт щхьэкIэ? - Буракъ-бей и чэтымрэ и унэмрэ яхъунщIащ ныжэбэ. - Сыт, яхъунщIамэ? - Аракъэ уи кIыщыр къэтщын щIыхуейр! - Сэ сыт си лажьэр? - Лъэмыж щIагъым мэл щыфIагъэжащ дыгъуакIуэхэм. Буракъ-бей и ахъшэр зэрылъа бохъшэри къыщIанащ лъэмыж щIагъым. Ахъшэр яхьащ, бохъшэр къыхыфIадзэжащ! - Сыт хузиIуэху жызоIэ? - ХуиIуэхури? Буракъ-бей и бохъшэм ещхьыркъабзэ кIыщ бжэIупэм къыщагъуэтащ хьэтхауэхэм. Уи бжэщхьэIуми еплъ – лъызащIэщ! И нэм дыгъэр къыщIидзэрти, и нэр къехьэлъэкIыурэ иIэтри, гъукIэр бжэщхьэIум еплъащ: бжэщхьэIум лъы пцIа телът! «Дэнэ къыздикIар?» - зыхуихьынур ищIэркъым гъукIэм. - КъинэмыщIауи,- къыжьэхекъузэ къэрэгъул пашэм, - ныжэбэ лъэмыжым ущалъэгъуащ. Сыт лъэмыжым щыпщIар? Хьэжэлий жэуап иритыжыфакъым. - Къэфщ,- жиIащ иужьым, зыщIэкIуэурэ. Хьэтхауэхэр кIыщым зэрыщIэгуащ. Сыджым бгъэдыхьэри, хьэтхауэхэм ящыщ зы кIиящ: - Мыдэ фыкъаплъэт! ГъукIэр зэплъэкIащ: сыдж къуагъым мэлыфэ къуэлът. Дэнэ къыздикIар? Мэлыфэр цIынабзэщ, зэрытрахрэ куэд щIакъым. Хьэтхауэхэр зэ къэрэгъул пашэм йоплъ, зэ гъукIэм къыхуоплъэкI. - Ахъшэр дэнэ щыбгъэпщкIуар? - щIэкIиящ къэрэгъул пашэр гъукIэм. - Сыт ахъшэ? - Зыумысыж! Мэлыфэр кIыщым щхьэ къыщIэхута? - Мэлыфэр къыздикIар сщIэркъым. - НтIэ, хэт зыщIэр? Си адэшхуэра? - СщIэркъым. ИмыщIэр пэжт. Абы еплъакъым: и Iэблэр яубыдри, гъукIэр ялъэфащ. Хьэтхауэ пашэр къеупщIащ: - Сыт жэщыбгым лъэмыжым щыпщIар? Сыт щищIар? ЩищIар ялъэгъуащ жэщ къэрэгъулхэм. Жэщ къэрэгъулхэр захуэщ: къыщIджэдыхьын щыIэкъым жэщыбгым. Унафэм щыгъуазэкъэ? Жэщыбгым лъэмыжым щытетакIэ, зыгуэр IэщIэщIащ, дауи... Буракъ-бей мэл щитху ищати, къыщIихар ныжэбэ кIуам фIадыгъуащ. ЩIалэ пIащэжьитI къаIэщIэлъэгъуащ жэщ къэрэгъулхэм - псым зэпрыкIыжрэ пэт. Къэрэгъулхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, а тIум я зыр гъу- кIэм ещхьт... Жэщыбгым лъэмыжым утраубыдамэ, бохъшэ нэщIыр кIыщ бжэIупэм къыщагъуэтыжамэ, мэлыфэ цIынэр сыдж къуагъым къыкъуахамэ, хэтыт шэч зыхуащIынур? ГъукIэращ, дауи! Тхьэр бгъэпцIакъэ, уаIэщIэкIмэ! Къи- нэмыщIауи, гъукIэр хэхэсщ... ПцIы быупсынумэ, лIам телъхьэ... ГъукIэм и Iэ сэмэгур паупщIын хуейуэ унафэ ищIащ хеящIэм. Абы щыгъуэщ Хьэжэлий щышынар. Шынэри, и фэр пыкIащ, и Iупэм едзэкъэжащ. И лъэр щIэщIэурэ, къэтэджыжащ. ХеящIэм йоплъ, и нэр къихуауэ. - Си Iэр пывмыупщI, - елъэIуащ хеящIэм.- Си щхьэр пывупщI. ИгъащIэм лъэIуакъым а зэм фIэкI. ХеящIэ лIыжьыр пхуигъэкIуэтынт: жиIам пхутекIынукъым. - Хьэуэ, - къыжриIащ гъукIэм.- Уэ лIы быукIакъым. ЛIы быукIатэмэ, уи щхьэр пезгъэупщIынут. ЛIы щыпIэщIэмыукIакIэ, уи щхьэр пезгъэупщI хъунукъым - хабзэм идэркъым. Блэжьам и уасэщ къыплъысыжынур. Удыгъуащи, абы и уасэр упшыныжын хуейуэ уи пщэ къыдохуэ. Аращ уи Iэр щIыпезгъэупщIынур. Укъысхуэарэзыкъэ? ГъукIэм и щхьэфэцым зрисащ: и щхьэр игу пыкIми, и Iэр игу пыкIынутэкъым Хьэжэлий! И Iэр пымытыжмэ, къами сэшхуи хуэпсыхьыжынукъым. И IитIыракъэ афэ джанэр зэпызыгъэлъэт сэшхуэр зэрипсыхьыр! ГъукIэр хьэпсым ирадзащ. И Iэр щыпаупщIынум поплъэри исщ хьэпсым. И Iэр пыбупщIмэ, сытым щыщыж гъукIэр? Муслъымэным нэмэз умыщI жепIэри уи Iэр паупщIри тIури зыкъэ! И Iэр примыгъэупщIын щхьэкIэ, хеящIэм иритын ахъши иIэкъым гъукIэм - сыт ищIэнур? Къалэдэсхэм ягу къащIэмыгъумэ, зыщыгугъын и!экъым Хьэжэлий. И насып кърихьэкIри, зигу къыщIэгъун къахэкIащ. Сэшхуэ, къамэ, джатэ зыхуипсыхьа Iэджэ къэуващ: «Ди гъукIэжьым и Iэр педгъэупщIынкъым!» - жари. ЗэгурыIуэри Хьэжы Мэхьмэд деж кIуащ. (Абы нэхъ къулей дэстэкъым къалэм). Хьэжы Мэхьмэд куэдрэ зрилъэфы- хьащ: хьэсы гуэрт, сомым утриукIэнут. Щыхагъэзыхьым («УлIэмэ, дыуэщI дынэкIуэнкъым!» - жраIащ), дэнэ кIуэжынт: - Зэпыту фыкIуэ! - къажриIащ.- ГъукIэм и уасэр хуэстынщ, дызэгурыIуэмэ. - Сыт дызэрызэгурыIуэнур? - еупщIащ Хьэжы Мэхьмэд. - ДызэрызэгурыIуэнуращ: и Iэр пезгъэупщIынкъым, лIыщIэ схуэхъумэ. - Сыт ебгъэщIэнур? - Бэзэрым треуви, лы схурещэ. Егупсысри, модрейхэр арэзы хъуащ: - Хъунщ, - жаIащ,- гъукIэр къэдгъэдэIуэнщ. КIуэри, Хьэжы Мэхьмэд къариухылIар жраIащ гъукIэм. ГъукIэм зрилъэфыхьащ: - Ар схузэфIэкIынкъым. Хагъэзыхьащ: Сыт илъ абы? Лы пщэуэ бэзэрым утеткIэ, къыпщыщIынур сыт? Умыерыщ, еувалIэ. ЕувэлIащ - сыт ищIэнт? И Iэм и уасэр щитым, гъукIэр Хьэжы Мэхьмэд деж лIыщIэу Iууващ. Хьэжы Мэхьмэд шхыдэбэIу гуэрт, зыхуэарэзы дунейм теттэкъым, апхуэдизкIэ нэпсейти, уэрамым щыдыхьэкIэ и жып зы хъурыщэ ирилъхьэртэкъым: «Зыгуэр къызэлъэIумэ»,- жери. ГъукIэр бэзэрым теуващи, лы еупщIатэ, ещэ. Абы къыщынэркъым: нэхущым къотэджри чэтым макIуэ, мэл еукI, зэIехри бэзэрым ехь. Пшапэр зэхэуэху, Хьэжы Мэхьмэд и жьэр кIэригъэкIыркъым гъукIэм: «Мыр щIэ, мор щIэ!» Кърипэсри хъудырщ, езыр шхэрэ къэкъеижамэ, къупщхьэ къыхуедз - хьэщ жыпIэнщ и лIыщIэр! Бэзэрым къикIыжакъэ - унэ лъэгур илъэсын хуейщ гъукIэм. Мэзи макIуэ, псыи къехь - кIэщIу жыпIэмэ, Iэпыдзлъэпыдзщ, къытралъхьэр и хьэлъэщ, пхъэнкIий нэгъунэ и пщэ дэлъщ. Ар ишэчынт Хьэжэлий, хъудырми зытригъэгусэнтэкъым. Хуэмыхьыр Хьэжы Мэхьмэд кърихъуэныращ: - Ей, си лIыщIэ! - къреIуэкI махуэ къэс.- Уи Iэр пезгъэупщIакъым: и уасэр стыри укъэсщэхуащ. Укъэзмыщэхуатэмэ, уIэшэтэкъэ! Абы нэхъ зэрылIыкI щыIэтэкъым гъукIэр: цIыхум фIы къыпхуищIарэ къуихъуэныжмэ, абы нэхъыкIэ щыIэ! Уи щхьэр хэплъхьэпэми, нэхъыфIщ абы нэхърэ. Ар зы махуэмэ, хъунт. МахуитIмэ, хъунт! КIэ иIэн хуейкъэ зэ! Хьэжэлий, и дзэр зэригъэшхми, и IэнатIэм бгъэдэтщ, зыщIригъэхыркъым. Жей зыхуегъэныкъуэ, махуэм етIысэхыркъым, и пщэ къыдалъхьэр ещIэ. Хьэжы Мэхьмэд и жьэр кIэригъэкIыркъым абы щхьэкIэ: - Уи Iэм и уасэр стащ!.. - Сымытамэ, уIэшэт!.. - Сэращ укъезыгъэлар!.. Махуэ къэси къытошхыхь Хьэжы Мэхьмэд, и жьэм къихь къигъанэркъым, къытримытхъуэ щыIэкъым. Зи щIыхуэ телъыр арэзы ищIын щхьэкIэ, гъукIэр и фэм икIынущ. Хьэжы Мэхьмэд арэзы пхуэщIын! И нэ цIыкIуитIыр къытреубыдэри къыжьэхоплъыхь, даIимауэ кърехъуэн: «Сэ узипщылIщ, узиунэIутщ, уи псэр си IэмыщIэ илъщ, си псалъэм ебакъуи, еплъ! Сыт ебгъэщIэнур Хьэжэлий: и дзэр зэтрекъузэри Хьэжы Мэхьмэд зыхуегъэлъахъшэ, и лъыр къавэми, и Iэр зыхунэсын щыIэкъым. Зэгуэпурэ, зэгуэудыным нэсащ гъукIэр. «ЛIо сщIэнур?» - гупсысэм егъалIэ гъукIэр. Гупсысэ щхьэкIэ, ищIэнур къыхуэгупсысыркъым... Зыгуэрым и IэмыщIэ зримылъхьэн щхьэкIэ, Хьэжэлий гъащIэм пыкIыфынут, и щхьэр игъэлъахъшэу есатэкъым. Иджы зэрыхъуам еплъ: цIыху нэпсейм и IэмыщIэ ихуащи, и щхьэм хуитыжкъым, лъэбакъуэ лей ичмэ, къыщIэкIуэжынущ. КIуэсэн? Хьэуэ, ар и напэм техуэнукъым. КIуасэмэ, дыгъум и фэ къраплъынущ. Псори къытехуэнущ итIанэ. МыкIуасэщи, дауэ, дапщэрэ зэришэчынур мо нэжэсыр? ...Тхьэмахуэ махуэт. Зыбжанэ щIащ гъукIэр Хьэжы Мэхьмэд зэрилIыщIэрэ. Хьэжэлий чэтым кIуащ а махуэм, мал къихьри иукIащ, мэлыбгъуэр фIидзэжри лъэрымывэм бгъэдэтIысхьащ: «Хьэдзэгъуейр слъынщ»,- жери: мэлыр зэIыхын хуейт. Хьэдзэгъуейр щIелъыкI, и щхьэм илъыр нэгъуэщIщ: «JIIo сщIэнур? Сыт си Iэмал?» И дзэр зэтрикъузэурэ, и Iупэм едзэкъэжащ гъукIэр, хьэдзэгъуейр здилъым. Хьэжы Мэхьмэд къэса щIыкIэкъым. Къэсмэ, Iэджэ къытритхъуэнущ - и хабзэжьщ: «Ухэжеящ! Бэзэрыр зэбгрыкIыжащ! Мэлыр зэIыпхакъым иджыри къэс!..» Хьэдзэгъуейр здыщIилъыкIым, гъукIэм и щхьэм икIыркъым: «JIIo сщIэнур? Сыт си Iэмал?» Абы здегупсысым, гу лъитакъым Хьэжы Мэхьмэд къызэрыIухьам. Макхъейм къыдэскIащ гъукIэр: - Сыт узэлIалIэр? Хьэжэлий и щхьэр къиIэтащ. Лулэр зыIуригъэсри, Хьэжы Мэхьмэд къыпэтIысащ. - Сэр солъ. Хьэдзэгъуейр. Хьэжы Мэхьмэд къыжьэхэлъащ: - Нэху зэрыщ лъандэрэ хьэдэр бгъея? Щхьэ умылъарэ? ГъукIэм зишыIащ, и щхьэр къиIэтри Хьэжы Мэхьмэт хуеплъэкIащ. Блэ Iуплъа къыфIэщIащ гъукIэм. И лIыщIэр къыщыIуплъэм, Хьэжы Мэхьмэд къэуIэбжьащ: - Сыт укъыщIызэплъыр? У и щIыхуэ стелъ хуэдэ! Зыри пидзыжакъым Хьэжэлий. И лъыр къовэ, армыгъуейуэщ зызэришыIэр. Модрейм и жьэ къихь къигъанэркъым, бзаджэ къытретхъуэ. - Усэхъуащ, пшхыр къэблэжьыжыркъым, напэ уиIэкъым! Дауэ ишэча алъандэм! Езыми егъэщIэгъуэж. Жей Iувым хэта къыфIэщIыжащ гъукIэм, иджыпстууэ къыщохъу къыщызэщыуар. Хьэжы Мэхьмэд жьэхэплъащ гъукIэр, хьэдзэгъуейр и Iэгум дидзэурэ. Хьэжы Мэхьмэд къэгужьеящ, лулэр Iурыхури, и нэр къригъэжащ: - Уи Iэр зэрыпезмыгъэупщIар пщыгъупщэжа си гугъэщ уэ! Сэр мыхъуамэ, уIэшэт! Сыт укъыщIызэплъыр, уи нэжьыр къибгъэтIэтIауэ? У и щIыхуэ стелъ жызоIэ? ГъукIэм абдежми зишыIащ, зы псалъи пидзыжакъым, дыхьэшхыпцIа фIэкI. И фэр шэхум хуэдэ хъуауэ, къыщылъэтри гъукIэр пхъэдакъэм бгъэдыхьащ, и Iэ сэмэгур пхъэдакъэм трилъхьэри хьэдзэгъуей жанымкIэ пигъэлъэтащ. Хьэжы Мэхьмэд и нэр къыщихуащ. - Мэ уасэ зыщIэптар! Уи щIыхуэ стелъыжкъым! И Iэ лъызащIэр къищтэри Хьэжы Мэхьмэд хуидзащ гъукIэм. Хьэжы Мэхьмэд и жьэр иущIа фIэкI, сыт къыпидзыжынт? Лъыр къызриутхыкI IэфракIэр фIипхыкIри, гъукIэм и щхьэ ирихьэжьащ. ГъукIэр къыздикIари здэкIуэжари зыми ищIэркъым нобэр къыздэсым. АХЬМАКЪ Истамбыл пшагъуэ щхьэщылъщ махуищ хъуауэ. Пащтыхьым и сэрейри щIиуфащ пшагъуэ Iувым. Скъар мывэкIэ къэщIыхьа псыхъурейм щхьэщыт удз гъэгъахэри пшагъуэм хилъагъукIыжыркъым пащтыхьым, щхьэгъубжэм бгъэдэувауэ дэплъ пэтми. Янычархэм лэгъупыр щхьэпрадзащ[1]. Сипаххэм[2] я офицерхэр зэтраукIэжри, къалэр яхъунщIэн мурад ящIауэ загъэхьэзыр. Къэрал гъунапкъэм Iут дзэр къызэтракъутэурэ кърагъэкIуэт. Уэзырхэм[3] я щхьэр храгъэлъхьащ - зы уэзыр къелакъым янычархэмрэ сипаххэмрэ. Пащтыхьым и бейгуэлхэри зэтраукIащ. Хэплъэгъуэ хъуащ пащтыхьым и Iуэхур: традзынкIэ мэхъу, къыхуэнэжар мащIэщ. Хэт щыгугъын, хэт къригъэлын пащтыхьыр? Куэсэ-уэзыр фIэк! зыщыгугъын иIэжкъым. Куэсэ -уэзыр къриджащ пащтыхьым, къэрал мыхъурыр IэщIилъхьэн папщIэ. И псэр IукIауэ, лIыжь гъур цIыкIу къыщIыхьащ пащтыхьыр зыщIэс пэшышхуэм. И нэр щIригъэлъафэри, лIыжь кхъахэм пащтыхьым и лъабжьэм зыщIидзащ. ЛIыжь цIыкIум къыхуеплъыхри, пащтыхьым и Iэр къэдабэ щхьэнтэмкIэ ишиящ: - ТIыс! ТхьэмыщкIафэ зытригъэуащ пащтыхьым, къэралым къыщIэзэрыхьа шынагъуэр къыгуригъэIуащ: янычархэмрэ сипаххэмрэ зыкъаIэтащ, жыIэмыдаIуэ хъуащ, дзэр къокIуэт, къэралыр хэкIуэдэжынущ, абы фIэкIмэ. Хэт къэралыр къезыгъэлыфынур? Пащтыхьыр къэзыхъумэфынур хэт? Зи псалъэм цIыхур къыфIэлIыкI лIы ткIийщ! Къэралым щхьэкIэ зи лыр уз, Iулъхьи къинэмыщIи зыхэмызагъэ, акъылышхуэ зиIэ лIы губзыгъэщ! - Уэ пхуэдэщ! - къыжриIащ лIыжь цIыкIум. - Уэзырышхуэ къулыкъур пIэщIызолъхьэ! ЛIыжь цIыкIум, и тхьэкIумэ игъэкIауэ пащтыхьым едаIуэри, и щхьэр къиIэтащ, и нэ къихуауэ. - ГущIэгъу къысхуэщI, ди пащтыхь дотэ! - жиIащ лIыжь цIыкIум, - Къэрал Iуэху дяпэкIэ сыхэмыIэбэжыну тхьэ сIуащ. Си лIэгъуэр къэсащ - нобэ-пщэдейщ. Нэмэзлыкъ фIэкI, нэгъуэщI къысхуэнэжакъым сэ! - Дауэ?! Пащтыхьым и нэр лIыжь цIыкIум къытриубыдащ - зыIуригъэлъэдэнт асыхьэтым! Алыхьым деж нэмысын псалъэщ ар: пащтыхьри къэралри утыку къыщранэ махуэ нобэ?! Бэлыхь зэрыхэхуар илъагъуркъэ Куэсэ-уэзыр?! ЛIыжь цIыкIум къыщIэкIиящ пащтыхьыр, Iей зыкъыхуищIащ, фIы зыкъыхуищIащ - зыхигъэзэгъакъым. - Си щхьэр пебгъэупщIмэ, дыщэм хуэдэщ, - жиIащ Куэсэ-уэзыр, и нэпсыр къыщиудри. - СегъэукI, си щхьэр пегъэупщI, ауэ къэрал мыхъурыр къысIэщIумылъхьэ! Пащтыхьыр зэщIэуфIыцIащ. ЗригъэгцIеикIри, IэлфIыцIэ хъуауэ, кIиящ: - ЩIэфш! Пащтыхьым и щхьэхъумэхэр къыщIэлъадэри, лIыжь цIыкIур чачэу щIалъэфащ. ЛIыукIхэр хьэзырыххэщ, я джатэ щIалъыкIауэ, пщIантIэм щызэхэтщ: зыц яхэхуауэ къащыхъунукъым, уи щхьэр паупщIынумэ... И губжьыр нэхъ еупIэхыжа нэужь, пащтыхьыр хэгупсысыхьащ. Зыгъэгупсысэн иIэтэкъэ: янычархэр уэрамым къыдэужьгъащ, сипаххэм узыIурагъэлъэдэнущ, пащтыхьымрэ къэралымрэ епцIыжар гъунэжщ - шына- гъуэр къыщIэзэрыхьащ. Куэсэ-уэзым и щхьэр пригъэупщIкIэ, езыр къелыну? Езыми и щхьэр щыхилъхьэн махуэр къэсынкъэ - Куэсэ-уэзыр иригъэукI щхьэкIэ къагъэнэнукъым: тахътэм кърадзынщи, кIэ игъуэтащ. Пащтыхьым къыгурымыIуэр зыщ: къэрал мыхъурыр Iихын щхьэ имыдарэ Куэсэ-уэзыр? ЯукIмэ, щхьэ нэхъ къищта? ЦIыху Iущщ Куэсэ-уэзыр, Iущым я Iущыжщ: ещIэ, гува-щIэхами, дунейм зэрехыжынур, абы шэч къытрихьэркъым. Нобэ улIэми, пщэдей улIэми, зыкъэ, аращ дунейм ехыжкIэ къыщIемыхьэлъэкIыр. И пащхьэм ит щхьэхъумэм жьэхэплъащ пащтыхьыр, гупсысэм къыхэхужа нэужь: - ФымыукИ Хьэпсым ивдзэ! Тхылъи, тхылъымпIи, къалэми евмыт! Щхьэхъумэр щIэжыжащ, и кIэр иудэу. ЛIыжь ерыщым къэрал мыхъурыр IэщIигуэн мурад ищIат пащтыхьым, зихъунщIэ-зимыхъунщIэми. Ажалым щыщтакъым Куэсэ-уэзыр, ажалым щымышынэм укъигъэщIэхъунукъым - апхуэдэкъэ пащтыхьым хуэмыгъуэтыр! Апхуэдэщ къэрал мыхъурыр зыIэщIэлъхьэн хуейр! И пащэхэмрэ и пщIантIэм дэт бзитI-щхьитIхэмрэ ицIыхужыркъэ пащтыхьым: тхьэгъэпцI защIэщ, щхьэхуещэхэщ, фитIнэщ, хьэщэхурыпхъуэщ - укъэзыгъэпэжын яхэткъым. «ФезгъэукIынущ!» - яжеIэт абыхэм! Уи пащхьэ зыкърагъэукIуриенщи, укъабзеихьынщ: «ГущIэгъу къытхуэщI, думыгъэукI, ди бын къеплъ!...» Зыр зым хущIэбжэнущ, я щхьэр хахын папщIэ, зым адрейм пцIы трилъхьэнущ, зэрышхыжынущ. А бзаджэнаджэхэм еплъыт хъурэ Куэсэ-уэзыр! Акъыл иIэщ, Iущщ, бажэм хуэдэщ, къэрали хузехьэнущ. Джатэ и щIагъ щIэхуами, къэдзыхэнукъым. Дыщи дыжьыни хуэший, къулыкъуи IэщIэлъхьэ - дэпшэхыфынукъым, къопцIыжынукъым. МылIэжын я гугъэщ модрей щхьэхуещэхэм, мылъку зэрызэхуалъэфэсынщ зэщэр. Дауэ IэщIигуа хъуну къэрал мыхъурыр Куэсэ-уэзыр? Ажалым щыщтэркъым, и щхьэр щIигъэлъэхъшэн щыIэкъым - дыщэкIи, дыжьынкIи, къулыкъукIи. Алыхь закъуэрщ зыфIэлIыкIыр: зэрылIэжынур ещIэ... Пащтыхьыр гупсысэм хэхуэжащ. «ЛIэныгъэм нэхъ шынагъуэ щыIэ?» Тахътэм здисым, абы куэдрэ егупсысащ пащтыхьыр. ЦIыху губзыгъэр ажалкIэ къыпхуэгъэIурыщIэнукъым. АкъылкIэщ узэрыпэлъэщынур. Абы егупсысурэ, пащтыхьыр щхьэукъуащ. Щхьэукъуэурэ жей Iувым хилъэсащ. И нэгу щIокI: щIалэ ныбжьым иувэжа хуэдэщ. Iустазыр къыщхьэщыхьауэ елъагъу. Iэджэ щIащ Iустазыр дунейм зэрехыжрэ - щхьэ епщIыхьрэ?.. Iустазым къыжриIэ хуэдэщ: «Ахьмакъ псэлъэгъу хуэпщIмэ, цIыху губзыгъэр жыхьэнмэ мафIэм пэрыбдза хуэдэщ...» Пащтыхьыр къызэщыужащ. И нэм щIоIуэтыхь, и нэгу щIэкIа пщIыхьэпIэм егупсысурэ. Къэтэджри зиукъуэдиящ. Ахьмакъыр псэлъэгъу хуэпщIмэ, цIыху губзыгъэр жыхьэнмэ мафIзм пэрыбдза хуэдэщ... Жыхьэнмэ мафIэм хрыресхьэ-тIэ Куэсэ-уэзыр! Аращ хуэфащэр! ЕбгъэукIкIэ пхуэгузэвэнукъым... Пащтыхьым и щхьэхъумэхэр къриджащ: - Зы ахьмакъ къэвгъуэт икIэщIыпIэкIэ! Къэвгъуэти, Куэсэ-уэзыр гъусэ хуэфщ!! Щхьэхъумэхэмрэ хьэтхауэхэмрэ зэрехьэжьащ, къалэр щIапщытыкIащ - зы ахьмакъ дагъуэтакъым... ТхьэмахуэкIэ къызэхажыхьри, уэтэрым зы ахьмакъ къыщагъуэтащ. Илъэс щэщIрэ тхурэ и ныбжьт уэтэрым къыщагъуэ- та мэлыхъуэм. Iэчлъэчщ, пIащэщ, Iэпщацэщ, ауэ и жьэр зэщIихакъэ - нэсри къэсыжауэ ахьмакъщ! Нэхъ ерыщи нэхъ гурмыкъи хэт урихьэлIэн - шыдым хуэдэщ. «Шыд» дзыри мэлыхъуэ щIалэжьым щIытеIукIар арат. Нэмыс, фIэлIыкI, укIытэ жыхуэпIэр бжэгъукIэ къраудми ищIэркъым мэлыхъуэ щIалэжьым, нэмэзлыкъ теувакъым игъащIэм, зы махуэ нэщI исакъым. «Шыдыр» мэлыхъуэ пщыIэм щIэх къытрашыфакъым пащтыхьым и щхьэхъумэхэмрэ хьэтхауэхэмрэ: къапэуври мэлыхъуэ башкIэ къахэуащ, гуарцэ къариутIыпщащ. Сытми, япхри, пащтыхь сэрейм къалъэфащ мэлыхъуэ щIалэжьыр. Къалъэфри, хьэпсым ирадзащ. Куэсэ-уэзыр нэмэзщыгъэ егъажэри исщ хьэпсым, и щхьэр щыпаупщIынум поплъэ. И щхьэр паупщIкIэ гузавэркъым, нэгъуэщ! кърамыщIэмэ... Хьэпсым ирадза нэужь, жэщищ-махуищкIэ яхуэбэяуакъым мэлыхъуэ щIалэжьыр: мэхъуанэ-мэцIанэ, зелIэж, и щхьэр блыным иреудэкI. Иужьым ешри сабырыжащ, пхъэ гъуэлъыпIэм итIысхьащ, и лъакъуэр зыщIиупщIэри. И бгырыпхым дэIуа накъырэр къыдихауэ йопщэ, пхъэ гъуэлъыпIэм итIысхьауэ. Куэсэ-уэзыр зы псалъи жиIэркъым, нэмэзщыгьэр егъажэри щысщ, накъырэр зыIурыс щIалэжьым гу лъимытэххэ хуэдэщ. Абы тетурэ, тхьэмахуэ дэкIащ, тхьэмахуитIи дэкIащ... Пащтыхьым и щхьэхъумэхэмрэ и хьэтхауэхэмрэ къыкIэлъоплъ мэлыхъуэ щIалэжьымрэ Куэсэ-уэзыррэ. Пащтыхьым деж нагъэсащ: - Хьэпсым ахьмакъ зэриддзар зыхищIакъым Куэсэ-уэзыр, гу къылъитэххакъым. ЛIо тщIэнур? - Мэлыхъуэм нэхърэ нэхъ ахьмакъ къэвгъуэт! - жери щхьэхъумэхэмрэ хьэтхауэхэмрэ ирихужьащ. Къэралыр къызэхажыхьащ: мэлыхъуэ щIалэжьым нэхъ ахьмакъ ягъуэтакъым. - Зэ дывмыгъэпIащIэ-тIэ,- жиIащ пащтыхьым. Мазэ дэкIащ. Мэлыхъуэ ахьмакъым и накъырэр, къыIэщIэужэгъуати, хыфIихуэри, плIанэпэм зыдиудыгъуащи, и пэр дрелъэфейри щысщ. Пщэдджыжь гуэрым мэлыхъуэм и гъы макъым къигъэушащ Куэсэ-уэзыр. Сабий хуэдэ зэщоджэ лIы домбейр! «И щхьэгъусэр игу къихьагъэнщ»,- мэлыхъуэр фIэгуэныхь хъуащ Куэсэ-уэзыр. - Сыт ущIэгъыр? Хьэпсым зэрырадзэ лъандэрэ а зы псалъэм фIэкI къыжьэдэкIатэкъым Куэсэ-уэзыр. Мэлыхъуэм и нэпсыр Iэщхьэ фIейкIэ ирилъэщIэкIащ: и нэкIур плъыжьыбзэ хъуат, жэгундэ хуэдэ. - СыщIэгъыр бжесIэмэ, укъысхуэгубжьынщ. - Сыпхуэгубжьынкъым, къызжеIэ. - Уэлэхьи, укъысхуэгубжьынкIэ! - Сыпхуэгубжьынкъым. Мэлыхъуэр къыщиудыжащи, нэхъри зэщоджэ. «Сыту пIэрэ игу къеуэр? Щхьэ зилIэжрэ?» - игъэщIэгъуащ Куэсэ-уэзыр. - КъызжепIэркъэ, Тхьэм и нэфI зыщыхуэн: сыт ущIэгъыр? - ЖызумыгъэIэ: укъысхуэгубжьынущ. - ЖыIэ, умышынэ. - Зы ажэжь хэтщ си мэл хъушэм. Ар сигу къэбгъэкIыжащи, аращ сыщIэгъыр. Мэлыхъуэм и нэпсыр щIилъэщIыкIыжри, ныбафэуз хъуауэ мэдыхьэшх. - Си ажэжьым и жьакIэмрэ уи жьакIэмрэ зэщхьыркъабзэщ! Куэсэ-уэзыр зы псалъэ къыпидзыжакъым. Къэтэджри, бжэм теуIуащ. Къэрэгъулым и щхьэр бжэм къыдигъэжащ. - Пащтыхь дотэм хъыбар схуевгъащIэ: къэрал мыхъурыр къыIызох! - жиIащ Куэсэ-уэзыр. Зы илъэс нэхъ дэкIыжакъым: зауэр увыIащ. Янычархэр ягъэсабырыжащ, сипаххэми фIы зыкърашэжащ. ДыгъуэгъуакIуэхэмрэ пащтыхьым епцIыжахэмрэ хуэфащэр иращIащ. Къэралыр и пIэ иувэжащ. Пащтыхьым «уэху!» жиIэжащ, и гур зэгъэжащ. Зыт къыгурымыIуэр: сыт мэлыхъуэм Куэсэ-уэзыр кърищIар? Пащтыхьыр зэгуэрым абыкIэ еупщIащ Куэсэ-уэзыр. Хьэпсым щиса махуэ плIыщIыр игу къэкIыжри, Куэсэ-уэзыр плъыжь хъуащ. - Зыри къызищIакъым,- жиIащ Куэсэ-уэзыр.- Лaжьэ зимыIэ мэлыхъуэр си зэранкIэ бэлыхь зэрыхэхуар сигу схутегъэхуакъым. Аращ сыщIыщIегъуэжар - мэлыхъуэ хейм хьэзабыр щхьэщысхын папщIэ. [1] Янычархэр - тырку пащтыхьым и дзэщ; зыкъыщаIэтынум деж лэгъупхэр щхьэпрадз я хабзэт янычархэм. [2] Сипаххэр - Тырку пащтыхьым и шуудзэ. [3] Уэзыр- къэрал Iуэхузехьэ, министр. ХУИТЫНЫГЪЭМ И БЭРАКЪХЭР Махуэр уэмти, Демирхисар сыкъыщикIыжым гъуэгум сызэхиукIауэ, Джюмаибалы сынэсащ. Гъуэгум сызэхиукIат, сешаселIати, гъуанэдэсри зыхэсщIакъым, нэху щыху, лIам хуэдэу сыжеящ. Сыхэжеенуи къыщIэкIынт, пщэдджыжьым Iэуэлъауэм сыкъимыгъэушамэ: уэрамым кIий-гуо макъ, уэрэд макъ къыдоIукI, цIыхур къыдэужьгъащ. Дыгъэр къыдэкIуэтеящи, дыгъэ бзийр щхьэгъубжэIупхъуэ пIащIэм къыпхопс. Зызукъуэдийри, сыздэхущхьэм сигу къэкIыжащ нобэ зэрымахуэшхуэр – тырку революцэм и махуэщ! ФIыгъуэ Iэджэ къытхудэкIуакъэ революцэм - Iэгуауэ мащIэ иращIэкIа абы! Ноби аращ цIыхур уэрамым къыщIыдэужьгъар - нобэ хуэдэ махуэм унэм уис хъурэ! Сыкъэтэджри, щхьэгъубжэм сыбгъэдыхьащ: «ЦIыхум сахэплъэнщ»,- жысIэри. Уэрамым псыдзэ къыдэуа фIэкI пщIэнукъым, - цIыхур апхуэдизкIэ Iувщи. Уэрамыщхьэм тет тыкуэн гъуэмбырэщхэм валах, болгар сатуущIхэр къыщIоплъ - куэд щIакъым абыхэм мы уэрамыр хэщIапIэ зэращIрэ. Я щыпэлъагъу хъунщ цIыху Iув: иувыкIауэ жьэкIэ йоплъ зи Iэ-зи лъэр щIэзыдз щIалэгъуалэм – кIий-гуоуэ, бэракъхэр ящхьэщыхуарзэу, уэрамым ирокIуэ тырку щIалэ жанхэмрэ пщащэ щIы- кIафIэхэмрэ... ЗызмытхьэщI щIыкIэ, шэнтыр щхьэгъубжэм бгъэдэзгъэкIуэтащ. Къэхьэуэ ефапIэм пасэрей граммофоным и макъ икIар къыщIоIукI - кIий-гуом къыхыхьащ ари, ядожьу зэрыхузэфIэкIкIэ. Уэрамым оркестр къытехьауэ къэслъэгъуащ. Оркестрым и ужь итщ Джюмаибалы дэс дзэм щыщ зы пакIэ: къалэм и тетхэр зыщIэс унэмкIэ макIуэ, дауи. Майор набдзэ Iувыр, зригъэщIеикIауэ, уанэгум исщ, шы пщIэгъуалэм и тхьэкIумэр ирисауэ зеплъыхь, еса хъункъыми. Майорым и ужь ит аскэр щIалэхэм я Iэ-я лъэр щIадз, уэрамыщхьэм тет пщащэ нэутхэхэм нащхьэ хуащIурэ. Я щхьэр ирасауэ, зэпадзыж аскэр щIалэ лъэрызехьэхэм: Ди аскэрхэр щхъэмыгъазэщ! Бийм и джабэр щIэдудынщ!.. Аскэрхэм я ужь зы зиусхьэн щхьэкъэб ислъэгъуащ: и щхьэр игъэкIауэ мэбакъуэ, бийм и джабэр щыщIиуда зауэ гуащIэм къыхэкIыжа къудейщ жыпIэнщ. Щхьэкъэбым и ужь имыщIар укIуэдыж: еджакIуи, къулыкъущIи, хьэулеи, Iэщыхъуи, шырыкъущIи, сондэджэри, бдзэжьеящи, къазыхъуи, хьэтхауи - цыджан нэгъунэ! Бэракъ плъыжьышхуэри ягъэпIий. Бэракъ щIыфэм хьэрф гуэрхэр тетщ, жыжьэти, тетыр схузэхэхуакъым. Шынэ-шынэ абрагъуэ хуэдэ, бэракъ лъабжьэм къыщIоплъ пыIэ плъыжьхэр зыщхьэрыс цIыху Iэдэбыншэхэр, абыхэм я ужь итщ сохъустэ нэмысыфIэхэр, еджакIуэ жыIэмыдаIуэхэр, къалэдэс Iуэхуншэхэр. Я макъыр икIащ, зырыгъэкIийурэ: Бийм и джабэр щIэдудынщи, Ди щIы кIапэ тетхужынщ!.. АпхуэдизкIэ зэрогъэкIийри, я пщэ лъынтхуэр къызэрыхэжар солъагъу. Хуабэвэхщи, пщIэнтIэпсыр къожэх уэрамым зыщызылIэжхэм – ари зыхащIэжыркъым: нобэ тыркум я махуэ лъапIэщ, нобэ хуэдэ махуэкъэ цIыхур уэрамым къыщыдыхьэр! Къыдыхьащ, я гуфIэгъуэщи, я гум жьы щыдихужа махуэщи!.. Афиян сефа хуэдэ, гупсысэм сыхэхуащ. Сигу къэкIыжащ ди къэралыр зыIут IэнатIэр. Узэхъуэпсэн IэнатIэкъым. Шэм къыхэнэжа сымаджэ хьэлъэм ещхьщ нобэ Тыркур. Ди жагъуэ ди - щIасэми, зыдумысыжын хуей хъунущ: и пIэм йоуджыхь нобэ ди къэралыр, и псэ пыт къудейщ, зэхэвынэщи, къищэхэжыпэнкIэ мэхъу... Бжэр къыIуихри, хьэщIэщыр зей урымыр къыщIыхьащ. - Шым уанэ трезгъэлъхьащ, - жиIащ урымым. Разлыкъ сыкIуэн хуейт нобэ. Разлыкъи щагъэмахуэшхуэ, дауи,- абыи сыхэплъэнущ жыпIэркъэ. Зысхуапэри, урымым къыщIихьа къэхьэуэбжьэм сефащ... Сыхьэт нэхъ дэкIатэкъым Пэпаз Байры джабэм сыщыкIэрыхьам. Сепсыхащ, джабэм сыщыкIэрыхьэм, - шыр гугъу езмыгъэхьын щхьэкIэ. Махуэ уэфIщ, уафэм зы пшэ Iэрами ислъагъуэркъым. Бгыщхьэм чэщанэ хужьхэр къоплъых. Къэрал гъунапкъэр зыхъумэхэр щIэсщ а чэщанэхэм. Жьы мащIэ къопщэри, дыгъэ жьэражьэм и пщтырыр къыстехьэлъащэркъым. Гъуэгур мывэ лъэгущ - шым къызэрехьэлъэкIыр зыхызощIэ. ДэнэкIи плъэ - мывэ фIэкI плъагъуркъым: икъухьарэ къэплъыжауэ кIэрылъщ джабэм, иныжь гуэрым мывэ жылэ ипхъа фIэкI пщIэнкъым. Пэпаз джабэ укIэрыхьамэ, нэгъуэщI дуней утехута хуэдэщ - цIыхуи псэущхьи къытемыхъуауэ. Мазэр апхуэдэщ жаIэ. Мазэм укъытехута фIэкI сыткIэ пщIэн? Жыг закъуэтIакъуэ срохьэлIэ, джабэ нэкIум дыгъэм кIэрижьыхьауэ. Телеграф пкъоуи yalyoyэ - а зыращ мыбы цIыху къызэрысар къызэрыпщIэнур. Телеграф пкъохэр къопэзэзэхри зэхэтщ, уэшхымрэ уэсымрэ, жьыбгъэмрэ дыгъэ гуащIэмрэ ягъэуфIыцIауэ. Бгыщхьэм сихьащ. ПщIэнтIэпсыр изокъуэкI, си нэри щоункIыфIыкI: сызэрешара хьэмэрэ бгыщхьэм семысарэ? Бгыщхьэм сыщыбэуэн мурад сщIауэ, зы шу къысIэщIэлъэгъуащ. И фащэкIэ офицер хуэдэщ. Епсыхауэ, бгыщхьэм щобауэ ари: пэртэбакъыр зэтрихауэ, тутын ешыхь. Шум сыбгъэдыхьащ, сэлам есхащ, здэкIуэмкIэ сеупщIащ. КъыпыгуфIыкIри, сэлам къызихыжащ лейтенантым: - Разлыкъ сокIуэ. Уэ-щэ? - Сэри аращ сыздэкIуэр. - Абы щыгъуэ дызэгъусэщ. ЩIалэ зэкIужт, плIабгъуэт, и нэ фIыцIитIым ущIэплъамэ, Iэпхлъэпх ящIа къаплъэным уIуплъауэ къыпфIэщIырт. Гъуэгум узэщрихьэлIамэ, ууэршэркъэ? Офицерхэм я хабзэжыц ар: щхьэусыгъуэ ягъуэтамэ, псалъэр ирамыдзауэ къагъэнэнукъым. Мывэ дытетIысхьащ. Тутын щIэдгъанэри, дыпсалъэурэ, политикам дынэсащ. Нобэ сызыхэта махуэшхуэм и гугъу хуэсщIащ лейтенант щIалэм, сызэрыгуфIар жесIащ. Ар фIэмащIэ хъуащ лейтенантым. - УгуфIэн къудейр мащIэщ! Тыркум абы нэхъ махуэ лъапIэ диIэкъым! Ди лъэпкъ махуэшхуэщ! Зы махуэрэ зы жэщрэщ зэрыдгъэлъапIэр - ар сфIэкIэщIыIуэщ, аращ сигу къеуэр. Махуэ къэс згъэлъэпIэнт - махуи жэщи! - ЗырыжыпIэмкIэ, нобэрей махуэм пэпщI щыIэкъым? - зыхуезгъэзэкIащ офицер щIалэм. ЖиIэм сеплъын сфIэфIти, щIызгъужащ: - Хэт ар зи махуэшхуэр? Сыт хуэдэ лъэпкъ зыгъэлъапIэр? - Уэсмэн лъэпкъыращ зи махуэшхуэр! Абы шэч къытепхьэрэ? - Уэсмэн лъэпкъкIэ узэджэр тыркухэра? - Хьэуэ! Тыркухэм я закъуэкъым. Уэсмэн псоми я махуэшхуэщ! Лейтенант щIалэм и нэ фIыцIабзэр къыстриубыдащ: «Ар умыщIафэ щхьэ зытебгъауэрэ?» Офицерым и акъылымрэ и щIэныгъэмрэ здынэсыр згъэунэхун мурад сщIыри, сеупщIащ: - Хэт «уэсмэн псори» жыхуэпIэр? - Iэгъу! - къэуIэбжьащ щIалэр. - Уэсмэнщ хьэрыпри, арнаутри, урымри, бэлгъэрри, сербри, валахри, шэрджэсри, хуртри, ермэлыри, тыркури. КIэщIу жыпIэмэ, псори - Уэсмэн къэралыгъуэм ис псори! - ЗэрыжыпIэмкIэ, а псори зы лъэпкъщ, аракъэ къызэрыбгурыIуэнур? - Зы лъэпкъщ. КъыбгурымыIуэн хэлъ абы? СыпыдыхьэшхыкIащ. - Шэч къытызохьэ... - Сыт щхьэкIэ? - КъызжеIэт: ермэлыхэр лъэпкъ? - Лъэпкъщ. - Арнаутхэр-щэ? - Арнаутхэри лъэпкъщ. - Бэлгъэрхэри лъэпкъ? - Лъэпкъщ. - Сербхэр-щэ? - Сербхэри. Сыдыхьэшхри, си щхьэр згъэкIэрэхъуащ. - Абы щыгъуэ... есэп жыхуаIэр пщIэркъым уэ. Си псалъэр къыгурыIуакъым лейтенантым, и нэр къригъэжри къызэплъащ. - Есэп пхуэщIыркъым. БжыгъитI зэрызэхалъхьэм ущыгъуазэкъым. Ущыгъуазэми, къибдзэркъым, уи фIэщ хъуркъыми. Лейтенантым сыдэгушыIэ къыфIэщIагъэнщ: и нэр къыстриубыдауэ, къызоплъ. И жьэр зэтримых щIыкIэ си псалъэр нэзгъэсащ: - КъыбгурымыIуафэ зытумыгъауэ. Зы жэуап фIэкI сыхуейкъым: бжыгъитI зэрызэхалъхьэ хабзэм хэпщIыкIIарэ? Ущыгъуазэ? - Сыщыгъуазэщ. ХызощIыкI. - Ущыгъуазэмэ, схузэхэлъхьэт. МышхумпIипщIым мышхумпIий хэлъхьэ, мышхумпIибгъуи щIыгъуж. МышхумпIэ дапщэ хъурэ псори? - ТIощIрэ блырэ! - Пэжкъэ? - Пэжщ. - МышхумпIэм мышхумпIэ хэплъхьэ хъунущ, хэплъхьэмэ, я бжыгъэр къэпщIэнущ. Ауэ мышхумпIипщIым пхъэгулъийрэ мыIэрысибгъурэ хэплъхьэ хъунукъым. ЩIэмыхъунур зэлъэпкъэгъукъыми, аращ. МышхумпIипщIым пхъэгулъийрэ мыIэрысибгъурэ хэплъхьэмэ, сыт къыщIидзынур? Зыри къыщIидзынукъым! Математикэм и хабзэхэм уемыбэкъуэнумэ, зыкIи зэмыкIуалIэ лъэпкъхэр, тхыдэхэр, хьэл-щэнхэр, лъэпкъыбзэхэр, лъэпкъ хабзэхэр зэхэптхъуэ хъунукъым, зэхэптхъуэкIэ зы лъэпкъ къыпхущIегъэдзынукъым. Уэ псори зэхыботхъуэри, зы лъэпкъ къьпцIыбогъэдз - уэсмэн лъэпкъ. АбыкIэ ущоуэ. Лейтенантым тутыныр Iурыхуащ. И нэр къригъэжауэ къызоплъ: и щыпэзэхэх хъунт апхуэдэ псалъэ. И фIэщ хъуакъым жысIэр. И фIэщ мыхъуами, щIэслъэфыжакъым. Щапхъэ заул къыхуэсхьащ. Уэсмэн лъэпкъ зэрыщымыIэр жесIащ, ар политикхэм зэрагъэпцIа псалъэщ жесIащ. Урымхэри, бэлгъархэри, сербхэри зэщэр зыщ: тыркум зэраIэщIэкIынщ. Гува-щIэхами кIэбгъу защIыжынурэ, лъэныкъуэ зрагъэзыжынущ, тыркухэм зыхагъэпшэхъуэн мурад яIэкъым, я нэ къыхуикIыркъым абы... Лейтенантым зыри къызэрыгурымыIуар солъагъу: и нэр къригъэжауэ си пащхьэ исщ, жесIэр и тхьэкIумэ иригъэхьэркъым... Тутыныр нэтфысащ. - Уэрэ сэра ди акъыл зэтехуэнукъым, дызэгурыIуэнуи си гугъэкъым,- жиIащ лейтенантым, си псалъэр и щхьэ иримыгъэхьауэ. Дыкъэтэджыжащ. Шы IумпIэр дубыдыжри, мывалъэ шытхым дихьащ. Лейтенантым нэбгъузкIэ сыхуоплъэкI. Гу лъызотэ зэрыумэзэхам - еплъых зэпытщ. Зэзэмызи къоувыIэ, зыгуэр игу къэкIыжа хуэдэ, итIани и псалъэр ирекъухыжри йожьэж. - Узахуэщ, уэрэ сэрэ ди акъыл зэтехуэнукъым, зэтемыхуэми, сэ жысIэм уеувэлIэн хуей хъунущ,- сыхуеплъэкIащ лейтенантым. - Сэ жысIэр пэжщ. - Хьэуэ,— идакъым лейтенантым. - Пэжкъым. Шытхым дыздитым, адэ-мыдэкIэ щикъухьа жылагъуэ цIыкIухэр долъагъу, СимитлийкIэ блэж псыIэрышэм щIэп кIапсэ хуэдэ зеукъуэдий, джабэ нэкIухэм жыг закъуэтIакъуэм зыкIэраудыгъуэ, бгы лъапэм былым щхьэрыуахэр щызоджадэ, мэл зыбгъупщI Iуащхьэ жьыщIэхум теувауэ, джэп ящI... ПщIэнтIэпсыр еслъэщIэкIри, лейтенантым сеупщIащ: - Сыт щIэмыпэжыр? Уи фIэщ щхьэ мыхъурэ? Лейтенантым икIуэтыжын мурад иIэтэкъым. - Уигу къызумыгъабгъэ, - жиIащ офицер щIалэм, зэрызахуэм шэч къытримыхьэжу.- Сэ жысIэращ цIыхушхуэхэми жаIэр. - КъулыкъущIэхэр псори цIыхушхуэ къыфIэщI хъунт лейтенантым.- Къэрал унафэр зыIэ- щIэлъхэми абыхэм я дауэгъухэми я акъыл зэтохуэ а зымкIэ: уэсмэнхэр зы лъэпкъщ! Дэр нэхъ делэ уи гугъэ ахэр? Акъыл зиIэ къинэжакъэ ди къэралым? Сэри сыакъылэгъущ абыхэм жаIэмкIэ. Ахэр захуэщ, щыуэркъым. И псалъэм текIынукъым, дауи, лейтенантыр. Хьэкъ щыхъуащ ар, и лъым хэтщ, щIилъэфыжыни и мурадкъым, ар дэнэ къэна, кIуэ пэтми нэхъ къызэрокI, нэхъри къызжьэхекъузэ, си псалъэм сыхущIригъэгъуэжын хьи- сэп иIэщи. - Уэ зырыжыпIэмкIэ, Тыркум щIэныгъэрэ акъылрэ зиIэ исыжкъым, псори ахьмакъщ, псори щоуэ, псори къаплъэнэфщ. ФэфI ибоплъри Тыркум... Тхьэм уригъэфIакIуэ... Егъэзыхыгъуэм дынэсащ. Едгъэзыхмэ, къуэ зэпыдупщIын хуейт. Къуэм дыщхьэщыхьэри, дыкъэувыIащ. Лейтенантыр нэжэгужэ къэхъуащ: - Плъэт, Тхьэм и нэфI зыщыхуэн: уэсмэнхэр зэрызылъэпкъым и щыхьэткъэ мор? Ар жери, и Iэр ишиящ: къуэ адрыщIым бэлгъэр жылэ цIыкIу ист. Зы километр хуэдэкIэ тпэжыжьэщ бэлгъэр жылэ цIыкIур. Жыг закъуэтIакъуэ дэслъэгъуащ жылэ цIыкIум, нэпкъым къелъэн хуэдэ къыщхьэщыувауэ. Лейтенантым и Iупэр зэтехьэжыркъым: - Плъагъурэ? Плъагъуркъэ бэлгъэр къуажэм щедза бэракъ плъыжьхэр? Сыт бэракъ плъыжьхэр щыхьэт зытехъуэр? Нобэ уэсмэн лъэпкъым я махуэшхуэщ, а махуэ лъапIэм зэш дищIащ Уэсмэн къэралым ис лъэпкъхэр - лъэпкъышхуи лъэпкъ цIыкIуи! Аращ мо жылэм къыдэплъ бэракъ плъыжьхэр щыхьэт зытехъуэр! Хуитыныгъэмрэ зэшыгъэмрэ я бэракъщ ар! Iэдакъэжьауэ сщIыри, жылэ цIыкIумкIэ сыплъащ: лейтенантым и нэр жанщ – бэракъ плъыжь къыдоплъ бэлгъэр жылэм. - Хуитыныгъэмрэ зэшыгъэмрэ я бэракъщ жоIэ? Лейтенантым зигъэгусафэ зытригъэуащ: - Унабгъэ, зиунагъуэрэ! Плъагъуркъэ зэрыбэракъыр? Сыт уи фIэщ щIэмыхъур? У и нитIкIэ плъагъур уи фIэщ хъун хуейкъэ? Шэч къытыбохьэ иджыри? Уи гум хьэрэмыгъэ илъщи, аращ шэч къыщIытепхьэр. Уэсмэн жы- лэщ мор - ди лъэпкъ махуэ лъапIэр зи щIасэ уэсмэн жылэщ! Дэсыр бэлгъэрми, уэсмэн жылэщ! Уэсмэну залъытэж! Пщэдей бий къыттеуэ хъужыкъуэмэ, Уэсмэн къэралым щхьэкIэ лъы ягъэжэнущ абыхэм - япэ ищауэ плъагъунщ! - Мо бэлгъэрхэми? - Мо бэлгъэрхэм! Нэхъ уэсмэнлы уагъэлъыхъуэнщ! НэгъуэщI лъэпкъ кърадзэркъым абыхэм, уэсмэн лъэпкъым ди махуэшхуэми пащI щыIэкъым. Дунейм теткъым уэ уи фIэщ хъун! Уи нэкIэ плъагъури уи фIэщ хъуркъым - ар дауэ? Уэшх блэкIам щIакIуэ кIэлъумыщтэж: ди адэжьхэр акъылыншэти, зэрышхыурэ къекIуэкIащ. Нобэ аракъым: Уэсмэн къэралым ису хъуар - му- слъымэни джаури! - дызэшщ, дызылъэпкъщ! Сыт ар уи фIэщ щIэмыхъур? Уи фIэщ мыхъун хэлъ абы? Бэлгъэр жылэ цIыкIум хуитыныгъэм и бэракъ плъыжьхэр щхьэ щохуарзэ, уэсмэнхэм я махуэшхуэр я щIасэщ, ягъэлъапIэ - уи нэкIэ плъагъуркъэ? Жылэм дыдыхьэмэ, зэхэпхынщ жаIэр! «ИугъащIэ уэсмэн лъэпкъым! ИугъащIэ уэсмэн махуэ лъапIэм!» - аращ зэхэпхынур! Лейтенантыр къызэрыкIащ, сэ сыпэрыуэркъым. - Уэсмэн лъэпкъыр зэкъуэуващи, къытпэлъэщын щыIэкъым! КъытпэщIэувэт зыгуэр! И пэр щIым щытхуэнщ! И нэвагъуэр едгъэлъагъужынщ! Ар тхузэфIэкIынущ дэ! ЩIытхузэфIэкIынур, зы лъэпкъ дыхъуащи, аращ. Дызэшщ псори! Псори дыуэсмэнщ! Къуэм дыщхьэщытщ, бэракъ плъыжьхэр зыщхьэщыхуарзэ бэлгъэр жылэ цIыкIумкIэ доплъэри. Лейтенантым си Iэблэр къиубыдащ, псэлъэнкIэ зигъэнщIа нэужь: - Дыдэбгъэхьэн жылэ цIыкIум? Уи нэкIэ плъагъунщ псори дызэрызэшыр, псори дызэрыуэсмэныр! Думыгъэщхьэх - дыдэгъэхьэ жылэ цIыкIум. Дехъуэхъунщ ди махуэ лъапIэмкIэ. IэплIэ, ба яхуэтщIынщ. Лейтенантым си ужь икIыныфэ теткъым, жылэ цIыкIум дыдэмыхьауэ. Жылэри тпэжыжьащэкъым - зы километр хуэдизщ дяку дэлъыр. Къуэр зэпыдупщIмэ, сыхьэт ныкъуэкIэ дынэсынущ бэлгъэр жылэм. Къуэм къыпэткIухьмэ, сыхьэтрэ ныкъуэрэ дыхуейщ, жылэ цIыкIум дынэсын щхьэкIэ. Зыкъомрэ зыхэзгъэзэгъакъым: «СопIащIэ, Разлыкъ къыщыспоплъэ», - жысIэри. Лейтенантыр скIэрыкIакъым, арэзы сыхъуху. «СыгушыIащ, уэращ захуэр»,- жесIа нэужьщ нэхъри къыщы- скIэрыхъыжьар. КъыщыскIэрыхъыжьэм, и гуапэ сщIащ: - НакIуэ, сыкъытебгъэхьащ. Къуэм дыдыхьащ. Лейтенантыр япэ итщ, и лъэр псынщIэщ. Къуэ кIуэцIыр гъущэщ, пшахъуэмрэ мывэкIэщхъымрэ дыгъэм къигъэплъащ. Шыр IумпIэкIэ долъэф - зэрыдэддзыхар яфIэфIыщэ хуэдэкъым. Къуэ кIуэцIым зы лъагъуэ къыщыдгъуэтащ. Жылэ цIыкIум дришэлIэн хуейт лъагъуэм, зэрыхуэдгъэфэщамкIэ. Къуэм дыдэтурэ зыкъомрэ дыкIуэри, дэгъэзыкIыгъуэм дыкIэрыхьащ. ДэгъэзыкIыгъуэ задэщи, лъэбакъуэ зыбгъущI тчымэ, дыкъоувыIэри добауэ, пщIэнтIэпсыр идолъэщIэкI. Деша-делIауэ къуэм дыдэкIри, сэтейм дыкъытехутащ. Жылэ цIыкIум дынэблэгъащ. Къуажэбгъур пхъэнкIий идзыпIэщи, бадзапцIэр уэрщ. Блынхэм фIэлъ бэракъ плъыжьхэр жыжьэжкъым - лъэбакъуэ щэ ныкъуэ хуэдизщ къэнэжар. «Жылэм дыдыхьэн и пэ дыбэуэнщ», - жытIэри дыкъэувыIащ: дешат, пщIэнтIэпсыр къыдэжэхырт, сабэми дыщIигъэнат. Хьэ гъуабжэшхуэ, дыкъыщилъагъум, макъ икIакIэ бэнэурэ, къытпежэжьащ. Вэнывейм хэпэщэщыхь кхъуэхэм я щхьэр ирасэри я нэ зэвхэр къыттраубыдащ: «Хэт жылэм къыдэщхьэрыуар? » Къуажэ гъунэм зылI щотIэ. Хьэр бэна щхьэкIэ, лIым и щхьэр къиIэтакъым, гу къытлъимытэхха хуэдэщ. Блыным фIэдза бэракъ плъыжьхэм сеплъащ, си нэр тезубыдэри. Шыбжий плъыжь благъэт блыным фIэдзар! Зы унэ лъэбышэ фыз гуэр къыщIэплъащ, зэхэуфIеярэ и Iэщхьэр дэхьеяуэ - ятIэ зэрихьэ хъунт. Хьэ гъуабжэм щIимычэ щхьэкIэ, фызыр къыхуилъакъым: ней-нейуэ къыджьэхэплъэри, и Iуэху и ужь ихьэжащ. Блыным фIэлъ шыбжий плъыжь благъэхэр щилъагъум, лейтенантым и фэр шэхум хуэдэ хъуащ, и Iупэм едзэкъэжащ: хуитыныгъэм и бэракъ къыфIэщIар шыбжийуэ къызэрыщIэкIам къигъэлыбащ! ТIэуэ хэт лIым бгъэдэкIуатэри, лейтенантым и пщэр хишащ: - Сэлам алейкум! ЛIыр къыдэплъеиххакъым, сэлам кърихыжын дэнэ къэна. И щхьэр зэрыщIэгуауэ, тыркубзэ ныкъуэкIэ къызэридзэкIащ лIым: - Тыркубзэ къызгурыIуэркъым! Лейтенантри сэри ди пIэм дижыхьащ. Щэлъахъэ зэрылъ брулыжь нэхъей, дыдыкъауэ ди пIэ дитщ, ди нэ догъэупIэрапIэри. Хьэжьри ткIэрыкIыркъым, къыджьэхопхъуэ, унэм къыщIэплъ фыз щхьэц бапхъэхэм нэкIэ дашх, вэнывейм хэшхыхь кхъуэхэми дакъыфIэIуэхужкъым. ТIэуэ хэт лIым и щIыб къытхуигъэзащ, нэгъуэщI зэхэзекIуэ дэтлъагъуэркъым жылэ цIьжIум: «Хьэдэ ираха мыбы!..» Лейтенантым и Iэблэм сыкъекъуащ: - НакIуэ, дыдэгъэкIыж мы жылэм. ЦIутI жиIакъым лейтенантым, си ужь къиувэжащ, и щхьэр къыфIэхуауэ. Гукъыдэж лъэпкъ иIэжкъым лейтенантым, зы псалъи хузэпыщэжыркъым, и пщэ лъынтхуэр къыхэжыху, къызэдэуауэ пщIэжынукъым. ПхъэIэщэм къыщIэхужа выжь нэхъей, ди цыр уауэ къуэм дыдыхьэжащ, лъагъуэм дытехьэжри шытхым дыкъихутэжыху, дызэплъэкIакъым. Шытхым дихьэжа нэужь, сызэплъэкIащ: бэлгъэр жылэ цIыкIум шыбжий плъыжь благъэхэр къыдоплъ, ущымыгъуазэмэ, бэракъ плъыжь фIэкI зэрыпщIэн щыIэкъым. Дауи щрети, шыбжий плъыжьыр жыжьаплъэу зылъагъу гуэрхэр гуоункIэ мэхъу: «ИугъащIэ!... ИугъащIэ..» САДРИДИН И ЩХЬЭГЪУСЭ А махуэм Истамбыл сыкъыдэнатэми, сщIэн згъуэтынутэкъым. Сызэшырти, си щхьэр си жагъуэт. Абы нэхъыкIэ щыIэ - зэшыр къыптеуамэ! Дунейри пфIэIэфIыжкъым, унэми уизагъэркъым, уи Iэр зыхыхьи щыIэкъым. Къалэм сыдокI абы щыгъуэ, сыщытеун къызолъыхъуэ. Къалэ бэмпIэгъуэр убгынэрэ мэзым ущIыхьэмэ, нэгъуэщI уохъу, уи гум жьы дехуж, зэшри пщхьэщоу. Зэшыр къыстеуауэ, си щхьэр здэсхьын сщIэртэкъым а махуэми. «Сытеунщ, си нэгу зиужьынщ»,- жысIэри кхъухь тедзапIэм сыкIуащ, гъуэгу тхылъ къэсщэхури кхъухьым ситIысхьащ. Гъатхэт, жьы мащIэ къепщэрт, уафэри бзыгъэт. Хы ткIуаткIуэр пэкIэ ибзу, кхъухьыр жыг хадэхэм блосыкI, жыгхэм къыхэплъ унэ хужьхэри къызыдонэкI. Кхъухь натIэм сеувэлIауэ, хым къыхиху салъкъыныр зыжьэдызошэ, си Iэпкълъэпкъыр хуэм-хуэмурэ жан зэрыхъужыр зыхызощIэ. Нэхъ нэжэгужэ сыкъэхъужауэ, сызэплъэкIри си ижьырабгъумкIэ щыс лIы домбейм гу лъыстащ. «Нэмыцэщ, дауи»,- жысIащ сигукIэ. И лъакъуэр зэтридзауэ, шэнтжьейм исщ нэмыцэр, сырыхубзэщ, нэкIу тхъуэплъщ, пщIэнтIэпсыр бэлътоку хужьыбзэкIэ ирелъэщIэкI. «И насыпкъэ,- жысIащ, - сыт и гуныкъуэгъуэ, домбейщ, и фэм кIуэцIыхуэжыркъым. И нэгу зригъэужьын нэхъ Iуэху и пщэ дэлъкъым». ПщIэнтIэпсыр ирилъэщIэкIри, бэлътокур и жып ирилъхьэжащ нэмыцэм; газет къызыкъуихауэ йоджэ. НэбгъузкIэ сыхуоплъэкI нэмыцэм, езым сыкъыфIэIуэхукъым - сэ схуэдэ и щыпэлъагъукъым, дауи. ЛIы домбейм жыжьэуи сыпэхъунукъым сэ, сыбгъэдэбгъэувэмэ, и дамэм сынэсыни сынэмысыни. Зэрыдомбейм и закъуэкъым: лIы бжьыфIэшхуэщ, нэпкъпэпкъышхуэщ, къупщхьэ пIащэщ. Кхъухьыр гуоуащ, хы Iуфэм есылIэри къэувыIащ. Абдеж щикIынухэм зыкъаIэтащ. Нэмыцэ домбейм зы тырку къызэрыбгъэдыхьар слъэгъуащ. - Дэнэ уежьа, фон Садриштайн? - тыркубзэкIэ къеупщIащ нэмыцэм къыбгъэдыхьар. - Тарабья сокIуэ,- тыркубзэкIэ жэуап иритыжащ нэмыцэм. - Сыт къэхъуар? - Германием ди благъэ къикIащи, сыпежьауэ аращ. Дэнэ щызригъэщIа тыркубзэ? АпхуэдизкIэ къабзэу мэпсалъэри, тырку къысфIэщIынт, цIэр зэхэзмыхатэмэ: фон Садриштайн! Хы Iуфэм къыIукIыжри, кхъухьыр ежьэжащ. Нэмыцэм газетыр зэкIуэцIиуплIэнщIэжащ, и жып ирилъхьэжащ. Ди нэ зэхуэзащ. Къызоплъ нэмыцэр, и пащIэкIи щIогуфIыкI. КъыщIызэплъыр сыт, щхьэи къыпыгуфIыкIрэ? - СыкъэпцIыхужакъэ? - къызэупщIащ нэмыцэр. - Хьэуэ,- жысIащ сэ, Iэнкун сыхъуауэ. - Сэ укъэсцIыхужащ. - Ущыуа хъунщ,- жысIащ,- нэмыцэ хэгъэрей сиIэкъым. - Сэ сынэмыцэкъым. - НтIэ ухэт? - Сытыркущ. - Уи цIэр... - Си цIэм тумыщIыхь. Ар си цIэ лейщ. Си цIапэр Садридинщ... Уэд ухъуащ, итIани укъэсцIыхуащ. Уэрэ сэрэ дызэдеджащ. Сыжьэхэплъыхьащ лIым. Щыуащ, дауи. Зыгуэрым сыхигъэгъуэщащ. Школым сыщыщIэсами иужькIи срихьэлIауэ къысхуэщIэжыркъым. - Зыгуэрым сыхэбгъэгъуэщащ, зиусхьэн,- жысIащ сэ. - Сэ нэхъ щхьэпэлъагэрэ нэхъ Iэчлъэчрэ хэсакъым ди классым. Дызэдеджа дэнэ къэна, услъагъуххауэ къысхуэщIэркъым. Уэр пхуэдэ пIащэ щIэсакъым ди школым. Сыноплъри - къурш ухуэдэщ! Нэмыцэр дыхьэшхащ. - Пэж гуэри хэлъ хъунщ уи псалъэм, - жиIащ нэмыцэм. - Си Iэпкълъэпкъым уемыплъ. Си нитIыр плъагъуркъэ! Школым сыщыщIэсами нэхъ иужькIи гъурыбзэу сыщытащ. Ауан сыкъэфщIырти псоми: «Жьым уихьынущ, сакъ!» СыкъэпцIыхужа иджы? Си жьэр сыущIауэ, соплъ «нэмыцэм»: дэнэ сыщрихьэлIами, соцIыху. Сыкъаплъэнэф хъунщ сэ: щхьэ къэзмыцIыхужарэ?! Садридин псэхэгъуэщ, дауи! Гъурыбзэт, выуэчым хуэдэт, уепщамэ, джэлэнут - дауэ къэзмы- цIыхужынрэ! Гимнастикэ щытщIкIэ, ди егъэджакIуэм лъэныкъуэкIэ Iуишырти, жриIэрт: «Уэ мыбдей щыт, си щIалэ цIыкIу, мобыхэм задумыщI, еплъ закъуи, нэгъуэщI ппэзубыдынукъым...» ЗэпыщIыкIын и гугъэ хъунт ди егъэджакIуэм - хэт и бын бгъэунэхъунур?.. ИтIани си фIэщ схуэщIыртэкъым Садридин псэхэгъуэ домбей хъуауэ: «Дауэ ар, сыт ирагъэшхар, епхауэ ягъэшха мыр?» - ФIэщ хъугъуейщ... - ЧытапкIэ соIуэ, сэракIэ! Апхуэдэ къэхъу хабзэ? ЦIыхум апхуэдизкIэ зихъуэжыфрэ? Мардэ гуэр зимыIэ щыIэкъым. ЦIыкIужьейр дапщэри гъашхэ, иныжь къыпхухэщIыкIынукъым. Узэгуэудами! СыпыдыхьэшхыкIащ, тхьэ щиIуэм: - Епхауэ уагъэшхагъэнщ. - Сагъэшхащ, срамыпхами,- дыхьэшхащ Садридин. - Сыщагъэшхар дэнэ уи гугъэ? - Дэнэ? - Германием. КъызгурыIуакъым. - Нэмыцэм я шхыным нэхъ къэуат, нэхъ IэфI щIэлъ? - Хъунщ, укъедэIуэнумэ, бжэсIэнщ,- жери хъыбар хьэлэмэт къысхуиIуэтащ Садридин.- Германием сыкIуэри, нэмыцэ фыз къэсшащ. Нэмыцэ фызыр пцIыхуркъым уэ! Германиери, нэмыцэ лъэпкъри, нэмыцэм я мылъкури, уеблэмэ я дзэри нэмыцэ фызыращ зи фIыщIэр... Нэмыцэ фыз къэсшэн и пэ килограмм щэ ныкъуэт сызэрыхъур. Нэмыцэ фыз къасшэри, килограммищэрэ тIощIым щхьэдэсхухащ! Нэмыцэ цIыхубзым хузэфIэкIынур пщIатэмэ, ар гъэщIэгъуэн къыпщыхъунтэкъым. Илъэс щэ ныкъуэ и пэкIэ нэмыцэхэр мелуан тIощI хъууэ щытауэ аращ. Иджы мелуан хыщIрэ пщIырэ мэхъу! Хэт ар зи фIыщIэр? Нэмыцэ цIыхубзыращ! Нэмыцэ цIыхубзым щытхъупс кърегъэжэх Садридин, сэ соплъри согъэщIагъуэ и Iэгуахъуэр, и пщэ гъумыр, и нэкIу тхъуэплъ пшэрыр. СогъэщIагъуэри си фIэщ схуэщIыркъым щIалэ псэхэгъуэм апхуэдизкIэ зричауэ. ПщIыхьэпIэм хуэдэщ... - Дауэ Германием укъызэрыщыхутар? - соупщI, си нэр згъэупIэрапIэурэ.- Дапщэщ къыщыпшар? Уигъэшхар сыт? Аращ сэ сфIэгъэщIэгъуэныр, армыхъу Германиер зищIысым сэри сыщыгъуазэщ: къэралышхуэщ, къэрал лъэщщ... - Дауи-щхьэуи илъкъым,- жиIащ Садридин.- ПхущIыхьэнумэ, уезгъэдэIуэнщ. СызригъэдэIуар уи фIэщ мыхъуным хуэдизщ... * * * - Школыр къызэрыдух лъандэрэ дызэрылъагъужакъым уэрэ сэрэ. ЗэрызэхэсхамкIэ, школыр къэдуха нэужь, хамэ къэрал укIуащ. Сэ дэнэ сыкIуэнт: къулыкъущIэ благъэ сиIэтэкъым - къыздэIэпыкъун... ПщIэжмэ, сурэт гуэрхэр сцIалэу щытащ дыщеджэм щыгъуэ. Нэмыцэбзэри зджырт - сыщIыдихьэхар тхьэм ищIэнщ. Схуэмыгъэшэрыуащэми, срипсэлъэф хъуат нэмыцэбзэм. Анэдолэ гъущI гъуэгу компанием сыщыщIэупщIащ лэжьапIэ щхьэкIэ. Къызэплъщ-къызэдаIуэри, сащтащ. Чертеж щащI лъэщапIэм сыщIагъэтIысхьащ, мазэм лирипщI улахуэ схуагъэуври. Сабий ныбжьым ситт, си адэри си анэри щылIам. Ди адэ шыпхъум сызришэлIэжри сипIащ. Балигъ сыщыхъум, ди адэ шыпхъум къыспиубыдащ: «Фыз къэпшэн хуейщ, Садридин, ущхьэгъусэншэщи, аращ ущIэуэдыр»,- жери. Сыкъытригъэхьащ, сытми. Къасшэрэ си улахуэр тхуримыкъумэ, мазэ къэс лирэ зытхух къызэрытхущIигъунури къызжиIащ ди адэ шыпхъум. Къызигъэшэн лъыхъуэу щIидзащ. Зыкъомрэ щIэупщIэри, хъыджэбз зэкIуж къыдихащ, французыбзи ищIэу, роялми ириджэгуфу. Ди благъэ я деж дыщызэIуагъэщIащ хъыджэбзымрэ сэрэ. Дызэбгъэдэсащ, дыуэршэращ. Хъыджэбзыр сигу ирихьащ, езыми игу срихьащ. Хъыджэбз къудан дахэ дыдэт, сырыхуфэщ жумыIэмэ. Кинохэм щыджэгу пщащэ щIыкIафIэ цIыкIухэм ещхьт. Ситхьэкъуащ, кIэщIу жыпIэмэ. СытелIэ хъуащ. ЛъэпкъитIыр зэгурыIуащ, нэчыхь едгъэтхри хьэгъуэлIыгъуэри дэтхащ. Зы мазэ хуэдэкIэ хъарзынащ псори. Сэ лэжьакIуэ сыдэкIмэ, нысащIэр лэгъунэм щIэсщ, зэзэмызэщ дунейм къыщытехьэр. Зы мазэ дэкIри, ди адэ шыпхъум шхыдэн щIидзащ: «Мы къозгъэшар зищIысыр сщIэркъым!» - жери. Игу щIебгъэн къригъэлъэгъуат... Пщыхьэщхьэ гуэрым, сыкъыдыхьэжауэ, нысащIэр къыспежьащ. И нэщхъыр зэхилъхьауэ, зигъэубэлэцауэ, къызоупщI: - Сыт сыкъыщIэпшар? УнэIут сыпщIыну ара? Си дамэр зэхуэсшэри, жысIащ: - Аракъым. - НтIэ, сыт? ЩхьэгъусэкIэ укъысхуейуэ аракъэ? - Узахуэщ,- жызоIэ. - Сызахуэ-сыкъуаншэми, мы унэм афIэкIа сыщIэсынукъым! СыкъэуIэбжьащ: - Сыт ущIыщIэмысынур? - Уи адэ шыпхъужьым сыхегъэзыхь: «Iуэху къыздэщIэ»,- жери. Iуэху сщIэуэ сесакъым сэ! ДяпэкIи сесэнукъым! Е мы унэм сыщIыбош, пщэдей нэхъ пIалъэ къыхэмыкIыу, е дызэбгъэдокIыж! Ди анэм деж сыкIуэжынущ. И IитIыр субыдауэ содэхащIэ, соубзэ, сытолъэщIыхь, «думыгъэпIащIэ» жызоIэ. Сыт жысIэми, и тхьэкIумэ иригъэхьэркъым. - Укъысхуемыпщэ! - жи. - СынодэIуэнукъым. Хамэ унэ сызэрисар ирикъунщ! Си адэ-анэм зы унэ къысхуагъэнат. Унэжьт къысхуагъэнар, си фыз щIалэр пхущIэсынутэкъым. Ар стыри, унэ хьэху къэсщтащ, нэхъ зэгъэпэщауэ. Унэ хьэхур зищIысыр пщIэ хъункъым уэ. Сэ згъэунэхуащ. Унэ хьэхум дызэрыIэпхъуэххэу, лирэ щищ тезгъэкIуэдэн хуей хъуащ. Си щхьэгъусэм зыри хузэфIэкIынутэкъым, зы пщафIэрэ пхъэнкIакIуэ-лъэсакIуэрэ къэсщтащ. Мазэм си улахуэр лирипщIт - ар бжесIакIэщ. Пхъэ гъэсыным, фIамыщIым, газым, дагъэм, шхыным лирэ тIощIым щIигъу токIуадэ. УнапщIэри - лирих. Лирэ тIощIрэ хырэ хъуа? НысащIэри лирипщI хуейщ мазэ къэс - Iупэщыхуэ, сэхусэплъ уасэ. Псори - лирэ тIощIрэ пщыкIухрэ! Си мазэ улахуэр лирипщIщ... ЛирипщIым урикъунт? Си адэ-анэм къысхуагъэна унэжьыр сщэжын хуей хъуащ. Лирэ минрэ щитIрэ къыщIэкIащ унэм. Илъэс ныкъуэкIэ дрикъуащ унэжьым къыщIэсхам. АдэкIэ-щэ? Абы согупсысри, кIуэ пэтми нэхъ Iей сохъу, сожэщI. Дохутыр зэзгъэплъащ. Зыхуэсакъыж,- къызжиIащ дохутырым.- Жьэн уз къоуэлIа къысфIощI. ХыумыгъэтIасэ, зэгъэIэзэ. Сигу фIы къысхуищIакъэ дохутырым! Сыгужьеящи, сызэпхъуэнури сыздэжэнури сщIэжыркъым, щхьэлажьэ сыхъуащ. Сэ щхьэлажьэ сыхъуакIэ, си фызым къыфIэIуэхунт? Иц уакъым абы щхьэкIэ, игу къысщIэгъуакъым: сэхусэплъ зыхелъхьэ, и Iупэр елэ, зегъэщIэращIэри докI, къыдыхьэжмэ, машхэри зегъэукIурииж. Iуэхуи дэлъи ищIэркъым - есакъым Iуэхум! Ахъшэри къытIэщIоухэ, сэ гупсысэным сеукIри нэхъри сожэщI. Килограмм плIыщI нэхъыбэ къысхэнэжагъэнтэкъым абы щыгъуэ! «Ди климатыр уэзэгъыркъыми, аращ ущIэгъур. НэгъуэщI щIыпIэ кIуэи, еплъ»,- къызжаIэ зигу къысщIэгъум. Гъэмахуэ хуабэр къихьэри си узым нэхъ сыхигъэзыхь хъуащ. ПIэм сыхиубыдэнкIэ сошынэ, си лъэм сызэрихьэжыркъым. ЛэжьапIэм мазищ пIалъэ къеIысхри, Германием щыIэ си ныбжьэгъу деж сыкIуащ - абы сынэзыхьэсын ахъшэ тIэкIу къысхуэнэжат. Электротехникэр иджын щхьэкIэт си ныбжьэгъур Германием щIэкIуар. Фыз къыщишащ Германием, Истамбыл къигъэзэжакъым, фыз къиша нэужь. Си ныбжьэгъум сыщрихьэлIэжым, къэсхуэцIыхужакъым: зы метркIэ нэхъ лъагэ хъуауэ къысфIэщIащ, цIыху зыIэщIэлъ хъуат – гъумыщIэ, плIабгъуэ. Нобэ уэ сыкъызэрумыцIыхужам ещхьщ... - Сыт къыпщыщIар? - жесIащ си ныбжьэгъум. Соплъри, си фIэщ хъуркъым: армырауэ пIэрэ? - Укъэмыщтэ,- къызжиIащ.- Мыр Германиещ, мыбы псэукIэ ящIэ. ТIэкIу ущыпсэумэ, итIанэ ухэгъуэзэнщ. Пэжыр жысIэнщи, тхьэмахуэ дэкIатэкъым сыщыхэгъуэзам. Сесащ я псэукIэм, кIэщI зысщIынщи. - Ахъшэ лей умыгъэкIуэд, - къызжиIащ си ныбжьэгъум. - Ди унэ уисынщ. Зы пэш ттынути, укърихьэлIащ. Зэрыттынур франк тIощIщ. Пшхынум и уасэнур зы франкщ. Iэнэм къытралъхьэнуращ ар зи уасэнур. ЗэрыпхуэпщафIэм щхьэкIэ пщIэ къыпIахынукъым. Мазэм хуэзэнур франк щэ ныкъуэщ. Ар куэд: ущыжеини ущышхэни уиIэнущ - лIо нэгъуэщI узыхуейр! ПщIэншэуи пхуэжьыщIэнущ. Сырэ уефэн хъумэ, абы и уасэр щхьэхуэщ. - Сырэ сефэркъым, - жысIащ. - Ар хъурэ! - жери къысщыдыхьэшхащ си ныбжьэгъур. - Сырэ емыфэ искъым мы къэралым! Сырэ уемыфэмэ, шхын пщыкIуэнукъым. Сырэ уемыфауэ, сыт пхуэгъэкIуэщIын? Бзум ишхым хуэдизщ! УзэкIуэцIыгъуэжауэ укъэнэнущ. Си ныбжьэгъум деж сыкъинащ. Сырэ софэ, си ныбэ из хъуху. Сырэ сефа нэужь, пылым ишхынур сошх. Мывэри гъущIри игъэткIунущ иджы си шхалъэм! Псом нэхъ гъэщIэгъуэныракъэ: си ахъшэ мащIэм сытри къы- щIокI. Си ныбжьэгъур фабрикэ гуэрым щолажьэ, мазэм лирий хуэдизщ къыхэхъуэр. ЛирийкIэ зигъэнщIыху машхэ, сыри йофэ, зыгуэри дедзыхыф. И фызыращ псори зи фIыщIэр: тхуопщафIэ, тхуожьыщIэ, ди щIыIу ичамэ, тхуредэж, тхьэмахуэ хъуакъэ - дрешажьэри ди нэгу зрегъэужь. Дауэ хузэфIэкIрэ а псор - ар си щхьэм къысхуигъэтIасэркъым. СеупщIамэ, къыпогуфIыкIри къызжеIэ: - Ди император гуащэм нэхърэ нэхъыбэ сщIэркъым сэ. Сыт сыщIешынур? Император гуащэм и хъыбар дрегъэдаIуэ: лIыщIи унэIути иIэкъым император гуащэм, зэгъэзэхуэкIэ ещIэ, и бынхэм я щыгъыныр яхуэмыхъужкIэ хыфIидзэркъым - къыщIэхъуэм щрегъэтIагъэ; зыпхъу закъуэ иIэщи, щыгъын тIорысэ фIэкI щригъэтIагъэркъым. Езы императо- рыр, жи, и щхьэм апхуэдизкIэ хуосакъыжри, къимылэжьауэ зы дзэкъэгъуэ зыIуигъэхуэнукъым, зы IэфIыкIэ зыIуилъхьэнукъым, жи, нэгъуэщIым япэ Iумыхуауэ. Си ныбжьэгъум и фызым ар щыжиIэм, си нэгу къыщIыхьэжащ Истамбыл дэс ныбэхуэфIхэр. Сигу къэкIыжащ си щхьэгъусэ гъэфIар: лиритху зи уасэ плIэр зы тхьэмахуэщ зэрызэрихьэр; хъурыщэ тIощIкIэ къищэхуа данэ лъэпэдыр зэрэ-тIэурэ фIэкI щитIагъэркъым, лирэ тIощI зи уасэ кIэстумхэр и шкафым дэзщ - мазэм зэ е тIэу нэхъыбэ щитIагъэркъым. Истамбыл къыщызгъэзэжын хуей пIалъэр къыщысым, си псэр хыщIащ, си щхьэм мыгъуагъэ хуэсхьыжащ. «Сыт си лажьэр, - жысIащ,- сэ сынэхъ хуэмыху? Нэхъ хуэмыхум сыкъилъхуа? Жылэм яхузэфIэкIыр сэ схузэфIэкIынукъэ?» Истамбыл къэзгъэзэжмэ, сыт къыспэплъэр? СызыщыгуфIыкIын лъэпкъ къыспэплъэркъым! Нэмыцэм я псэукIэр плъагъуркъэ! Тыркур нэмыцэм игъащIэкIэ щIыхьэнукъым!» А псор си ныбжьэгъум жесIащ. Игу къысщIэгъуа хъунщ: акъылэгъу къыздэхъуащ. Абы къыщIигъужари пщIэрэ? - Нэмыцэм насыпрэ зыхэпсэукIынрэ яIэмэ, ар зи фIыщIэр я щIыракъым. Зи фIыщIэр я цIыхубзыращ! Нэмыцэ фыз къозгъэшэнщ. Нэмыцэ фыз къапшэрэ Истамбыл бгъэзэжми, игъащIэкIэ укъыхэщтыкIынукъым, Германием уис хуэдэ уигъэпсэунущ, жьыр къыздепщэр пщIэнукъым. Уи фIэщ пхуэщIынт ар? Фыз сызэриIэр жесIащ си ныбжьэгъум. ИзгъэкIыжын хъумэ, фызым лирэ щэ зыбжанэ естын хуей зэрыхъунури жесIащ. - Умыгузавэ! - си гур фIы схуищIащ си ныбжьэгъум. – Нэмыцэ фыз уиIэмэ, Тыркум ущытхъэнущ: псори пудыбзэщ. ЛирипщIми фрикъунущ, -къызжиIащ. – Лирищэм къыщIэкIынур лирипщIкIэ къищэхуфынущ нэмыцэ фызым. ЩIыхуэ къащти, уи фызыр игъэкIыж. Нэмыцэ фыз къапшэмэ, зы щIыхуи къыптенэжынукъым илъэс закъуэм. Уи узыншагъэ щхьэкIи утхьэусыхэжынукъым. Сегупсысащ. Зэпэслъытащ псори. Нэмыцэ фыз жыхуаIэр си нэкIэ слъэгъуат, си ныбжьэгъум и унэ сисыху. Абы елъытауэ, си щхьэгъусэр мыкIуэмытэ гуэрщ, сытеунэхъуэн фIэкI, сигъэунэнукъым. Истамбыл къэзгъэзэжмэ, сыфакъырэщ, щIыхуэм сыщIигъэнащи, си щхьэр къысхуэIэтынукъым. Къызогъэзэж Истамбыл - сыт къысщIэлъыр: фызыр къыстошхыхь, си фэр ирех, жьэкIэ сешх. «Сыбгъэпсэуфыркъым, зыми уриуасэкъым, укIуэцIрыхуащ, сэри сыбгъэунэхъуащ!» - аракъэ махуэ къэс зэхэсхынур? Си ныбжьэгъур делэкъым: нэмыцэ фыз къасшэмэ, хьэзабым сыхэкIынущ. Сытхъэжынущ! Гуныкъуэгъуэ сиIэжынукъым!.. Утыкум сыкъинащ: е улIэн, е улIын жиIакъэ пасэрейм! СылIащэрэт жысIэртэкъым - си нэ къыхуикIтэкъым абы. ИгъащIэкIэ сызэтехункъым жыпIэ хъурэ: къыпщыщIыну псор пщIамэ, уунэхъурэт жыхуаIэращ. Iэджэм яфIыхэкIуэдащ я мылъку: е яхузехьакъым, е ирафыжащ. Дуней хэтыкIэ имыщIэмэ, ахъшэр зэримыгъэзэхуэфмэ, ар къыздикIми здэкIуэжми щымыгъуазэмэ, цIыхум и пщэдейр хъуэпсэгъуэкъым, унэхъуа жыхуаIэр апхуэдэращ... Истамбыл къыдэзна фызымрэ унэмрэ си нэгу къыщIыхьэмэ, си щхьэфэцым зресэ. Нэмыцэ фыз къасшэмэ, сыхэкIынущ апхуэдиз хьэзабым. Си IэкIэ щхьэ зызукIыжрэ? СылIэмэ, хьэдрыхэ зыри ныздыщIыхьэнукъым, зыми къызэтрихыжынукъым си напIэр. Уи щхьэ си щхьэ нэхърэ - си щхьэ гуэр жиIакъэ! Си щхьэ нэхъапэщ псом нэхърэ. СолIэри сытелъщ, нэмыцэ фызым хужаIэр пэжмэ, сыкъызэфIигъэувэжыфынри хэлъщ... Хъыджэбзыр тхьэмахуэ махуэ гуэрым сагъэлъэгъуащ. Си ныбжьэгъум и хэгъэрей гуэрым и благъэт хъыджэбзыр. Сигу ирихьащ. И адэр зэрылIэрэ илъэситI мэхъу - зыгуэри къызэринэкIащ. Нэчыхь едгъэтхащ. Хъурыщэ зытхухым фIэкIакъым нэчыхь тхыпщIэр - ар уи фIэщ хъун?.. Истамбыл къэсшащ нысащIэр. Къыщысшэм, гъуэгум нэхъ къыщысцIыхуащ: зэгъэзэхуэкIэ нэхъ зыщIэ урихьэлIэнтэкъым! Гъуэгум щыдгъэкIуэду хъуар етх. Газет къэсщэхуамэ, газет уасэри етх. Тшхаи дызэфаи, зэрыжаIэу... Зы хъурыщэ лейуэ игъэкIуэдакъым! «ЛIым и къалэныр ахъшэ къилэжьынырщ, фызым и пщэ дэлъыр унагъуэр зыхуейуэ хъуар лIым къилэжьа ахъшэм къыщIигъэкIынырщ»,- къызжиIащ нысащIэм. Истамбыл дыкъэсыжри, Бейоглу хьэщIэщым дыщIэтIысхьащ. Си фыз гъэфIар езым хуэдэ гуэрым итхьэкъуауэ сыкърихьэлIэжащ... Ди нэчыхьыр едгъэкъутэжащ: къызэлIэлIакъым, къытричырти, щIэх дыдэ арэзы хъуащ, къызэдэуакъым... Нэмыцэ фызыр унэм исшащ. Си унэIутхэр щилъагъум, къэуIэбжьащ: «ПщафIэ къащтэркъым нэмыцэм, ахъшэр здахьын ямыщIэжми!» УнэIутхэр IуигъэкIыжащ, фIыщIэ яхуищIри. - Унэм Iуэхуу илъыр си пщэ дызолъхьэж, - жиIащ си фызым.- СыпщэфIэнщ, сыжьыщIэнщ, сыдэнщ, сыдыжэнщ, хьэкъущыкъур стхьэщIыжынщ, сыпхъэнкIэнщ, сылъэсэнщ, вакъэри слъэщIынщ... Унэм къисшэри етIуанэ махуэм и пщыхьэщхьэм къызэупщIащ: - Дапщэ унэм щIэптыр? - жери. - Лирих,- жысIащ.- Мазэм лирих. - Лирихи! - къызэплъащ си фызыр, и нэр къригъэжри.- Уи мазэ улахуэм и зэхуэдитIым щIигъу щIэпт хъурэ унэм?! «Есэпым фыхуэхейщ тыркухэр!» - жери къызэщащ. - Зы, тIу, щы, плIы, тху, пщIы, тIощI, тIощIрэ пщIырэ, щэ ныкъуэ - а бжыгъэхэм фыщыгъуазэ? Зэратх нэхъ мыхъуми, фщIэрэ? Псом япэрауэ, унэлъащIэр дигъэщэжри ахъшэр банкым хыдигъэлъхьащ. Мазэ дэкIри къыспиубыдащ: «ДыщIэгъэкI мы унэм!» Хайдарпаша, нэмыцэхэр зыдэс хьэблэм, фэтэр къыщищтакIэт, къызэрыщIэкIамкIэ. Фэтэрыр пэшитIрэ зы пщэфIапIэрэ хъурт. - Абы нэхъыбэ дыхуей? - жиIащ си фызым. Зы пэшыр лэгъунэ тщIащ, адрейм хьэщIэ къыщыдогъэблагъэ... Ди Iуэху зэтес хъуа хуэдэщ. ФэтэрыпщIэри хэтмэ, лиритхум дрокъу мазэм. Си улахуэм мазэ къэс къыдэхуэ лиритхур банкым хелъхьэ. Мазэм лиритхум зрыдогъэкъу абы лъандэрэ - дригъэсащ нэмыцэ фызым... Сыхьэтийм лэжьакIуэ сыщIокI, шэджагъуэ хъуамэ, си фызым шэджагъуашхэ ныскIэлъехь, пщыхьэщхьэми ныскIэлъокIуэ, лэжьэгъуэ махуэр зэфIэкIащи, ди нэгу зыдогъэужь, къэткIухьурэ сыхьэтиблым и ныкъуэ хъуа нэужь фызыр унэм мэкIуэж, пщэфIэн хуейщи; сэ хьэуа къабзэм сыкъыхенэ. Унэм сихьэжмэ — Iэнэр хьэзырщ. Пщыхьэщхьэшхэ дошхэри, си фызым скрипкэр къещтэ е усэ тхылъым бгъэдотIысхьэ. Сыхьэт пщыкIузым догъуэлъыж. Си фызыр сыхьэтихым къотэдж, мэпщафIэ. Зэгъусэу дыщIокI унэм. Сэ лэжьакIуэ сокIуэ, фызыр бэзэрым йожьэ. Зыгъэпсэхугъуэ махуэм — гъэмахуи щIымахуи - нэгузыужьакIуэ дожьэ, бгым дохьэ, пшапэр зэхэуэхуи къэдгъэзэжыркъым. Фызым жиIэр пэжмэ, зыгъэпсэхугъуэ махуэр бгым е хы Iуфэм щыгъэкIуэн хуейщ. «Абы нэхъ узыншагъэ щыIэкъым!» - жи! Илъэсищ хъуащи, абы дытетщ - дытекIауэ сщIэжыркъым: идэнукъым нэмыцэ фызым! Си мазэ улахуэм лиритху къыщIагъуащ нэгъабэ лъандэрэ. ИтIани лиритху фIэкI дигъэгъэкIуэдыркъым мазэм. «Лей щIэбгъэкIуэдын щыIэкъым, - жери идэркъым.- Нэхъыбэ къыпхэхъуэ зэрыхъуам къикIыркъым нэхъыбэ гъэкIуэдын хуейуэ». Сегупсысыжри, акъылэгъу сыдэхъуащ. Тыркум щыщ куэд нэгупсысауэ пIэрэ абы? Лирэ тIощIрэ тхурэ зи улахуэ тыркум лиритху къыхущIагъуакъэ - Iэмал иIэкъым и фэтэрыр имыхъуэжынкIэ! ЩокIри, аргуэру зы унэIут къещтэ. Сэ сыщылажьэ гъущI гъуэгу компанием - нэмыцэщ зейр - и Iэтащхьэм и къуэдзэм дэ тшхым хуэдизщ ишхыр, лирэ щэ зыбжанэ къыхэхъуэ пэтрэ! Лей игъэкIуэдынукъым. ЩыкIынукъым жыхуэсIэщ. Ди Iэтащхьэм и къуэдзэм унэIути лIыщIи иIэкъым, и фызыращ пщафIэри, унэр зезыхьэри, бэзэрым щыщахуэри. - Бын къыпщIэхъуэмэщ нэхъыбэ щыбгъэкIуэдын хуейр,- жи си фызым. Нэхъыбэ щыдгъэкIуэдын хуей пIалъэри къэсащ - си фызыр лъэщыджэ хъуащ. Абы и ужькIэщ ахъшэр нэхъри зэригъэзахуэ щыхъуар. - УнэIут къэдгъащтэ,- жесIащ си фызым,- къохьэлъэкIынущ. Къысхуидакъым, и тхьэкIумэ иригъэхьакъым. Фыз лъэщыджэм и IитI зэтридзэж зэрымыхъунур къызжиIащ, и IитI зэтридзэжрэ тIысыжмэ, и щхьэм зэран хуэхъужынущ, абы илIыкIыпэнкIи мэхъу - аращ си фызым сы- зригъэдаIуэр. Зэресащи, мэпщафIэ, мэжьыщIэ, мэпхъанкIэ, мэлъасэ, бэзэрми нос, шэджагъуашхи нысхуехь, пщыхьэщхьэкIи къыдокIухь - зэрылъэщыджэм еплъыркъым. Уэндэгъушхуэ щыхъум - сабийр дунейм къытехьэным зы мазэт къэнэжар - сыщыхьащ: - УнэIут къэдгъащтэ! ЗумыукIыж! - Дыхунэсынщ. ДумыгъэпIащIэ,- жери сызыхигъэзэгъакъым. Пщэдджыжь гуэрым, дыщIэкIри, сэ лэжьакIуэ сыкIуащ, си фыз уэндэгъушхуэр бэзэрым щэхуакIуэ ежьащ. Шэджагъуэм шэджагъуашхэ ныскIэлъихьащ. Пщыхьэщхьэми нытригъазэри заулрэ къэткIухьащ. Си фызым и бэлътор хуэбыхъу зэрыхъуам гу лъыстащ, ауэ зыри къисхакъым. Зэрихабзэти, япэ ищри, унэм кIуэжащ си фызыр, пщэфIэн щхьэкIэ. Зы сыхьэт хуэдэкIэ хьэуам сыхэтыжри, къэзгъэзэжащ сэри. Си Iэнэр хьэзырщ – фызыр пщэфIауэ сыкърихьэлIэжащ. Iэнэм сыпэрытIысхьа къудейуэ, адрей пэшым макъ къыщIоIукI: - Уа-уа! Уа-уа... - Сыт ар? - сыкъэщтащ сэ. - ЩIалэ цIыкIущ,- жиIащ фызым, зыри къэмыхъуа хуэдэ.- Нобэ сылъхуащ. Си жьэр Iурыхуащ асыхьэтым, бжэмышхыр сIэщIэжри. Абдежыращ нэмыцэ фыз жыхуаIэр къыщысцIыхуар! - Фызгъалъхуэр-щэ? - Фызгъалъхуэ сыту сщIынт: сыузыншэщ. - Дапщэщ сабийр дунейм къыщытехьар? - согъэщIагъуэ, и бэлътор хуэбыхъу хъуауэ зэрыслъэгъуари сигу къэкIыжащ - сыкъаплъэнэфкъэ? - Шэджагъуашхэ ныпхуэсхьауэ сыкъыщыкIуэжым къыстелъэдащ. Унэм сыкъызэрысыж нэхъ пIалъэ иIакъым: сабийр дунейм къытехьащ. Псы дэзгъэжэхри хъыданжэрумэ сщIащ, итIанэ сыпщэфIащ. Пщыхьэщхьэм сыныдэкIри къэткIухьащ, уяпэ сыкъищри сабийр быдз езгъэфащ, дакъикъитху и пэкIэ... Сыкъыщылъэтащ! Сабийр зыщIэлъ пэшым сыщIэлъэдэн си гугъащ: езыр-езыру дунейм къытехьа щIалэм еплъын хуейкъэ! Фызым идакъым. - ТIыси, шхэ. Ушха нэужь, уеплъынщ... Сабий нащхъуэт, и анэм хуэдэ. Чы матэ цIыкIум илъщ, и Iупэр егъэпIэжьажьэри... Мазих хъуащ иджы. Сабий къытхэхъуа щхьэкIэ, лей дгъэкIуэдакъым иджыри къэс. Фызым зэрыжиIэмкIэ, и ныбжьыр илъэсиплI- тхум нэсыху, сабийм куэд текIуэдэнукъым... Дунейм къызэрытехьэрэ тхьэмахуэ дэкIатэкъым, сабий цIынэм мардэ щыхуигъэувам: быдз щригъэфэни, щигъэжеини, щигъэпскIыни хуигъэбелджылащ. Сабийр абы есащ... - Тарабья дыкъэсащ, мыбдей сыщикIын хуейщ,— жери Садридин къэтэджыжащ. – ДяпэкIэ сумыгъэгъуэщэж. КъыбгурыIуа иджы си фэм зыщIихъуэжар? Нэмыцэ фызыращ зи фIыщIэр. Нэмыцэ псэукIэмрэ нэмыцэ хабзэмрэ сригъэсащ. Си насыпкъэ жызоIэ! Узыншэу ущыт. Тхьэмахуэ къэс Чамлыдж докIуэ, бгым дохьэри ди нэгу зыдогъэужь. Чамлыдж унакIуэмэ, дыщызэрихьэлIэнщ. - Унэгуащэм сэлам схуехыж, - жысIащ сэ. Си Iэр къиубыдыжри, Садридин - фон Садриштайн - кхъухьым икIыжащ. ЦIыху Iувым яхэзэрыхьыжыху, сыкIэлъыплъащ Садридин. Кхъухьыр гуоури ежьэжащ. Сызэрешар зыхызощIэ, си щхьэр си жагъуэщ, гукъыдэж лъэпкъ сиIэкъым, бауэкIэщIи сыхъуащ. Насып зэбгъэуэлIэнумэ... Си нэм сыщIэIуэтыхьащ, кхъухь натIэм сыздыбгъэдэтым. Хы тхьэрыкъуэхэр зыщхьэщыджагуэ тенджызыр дыгъэм полыд, хы Iуфэм Iут жыг псыгъуэ лъагэхэр, унэ хужьыбзэхэр, Iуащхьэ джафэхэр жей Iувым хэт хуэдэщ, дыгъэ гуащIэм хэткIухьауэ къыпщохъу. Садридин сызригъэдэIуа хъыбарыр си щхьэм икIыркъым. Ар гъащIэ: лъэбакъуэ дапщэ ичмэ, зэпэлъытащ, щышхэнуми, щыгъуэлъыжынуми, къэкIухьакIуэ щежьэнуми я пIалъэр гъэбелджылащ, лъэбакъуэ лей ичыркъым, зы лири игъэ- кIуэдынукъым лейуэ... Махуэ къэс хуэпщафIэ, хуэжьыщIэ, хуэщахуэ нэмыцэ фызым и IэмыщIэ илъщ, и жыIэм фIэкIынукъым, ар дэнэ къэна, гу щихуэркъым нобэ къыздэсым... Си унэр Iэзэвлъэзэвми, щIыхуэм сыщIигъэнами, Iуэхур къызэлъэлъэхыжми, гукъыдэж къызэзытын сымылъагъуми, си дунейр сыткIэ нэхъыкIэ! ГъущI хъарым уис защIэу гъащIэ псор пхьы хъурэ?.. САДРИДИН И КЪУЭ Илъэс тIощI дэкIа нэужъ Тхьэмахуэм щIигъуащи, Садридин унэм икIыркъым. Щхьэгъубжэм бгъэдэкIуэтауэ, шэнтжьейм исщ, и лъакъуэр къоузри зыхуэIэтыркъым. - Щхьэгъубжэм дэплъын фIэкI, сыт къыхуэнэжа - пIэм хиубыдакъыми, ари Тхьэм и фIыщIэщ. Зэ хымкIэ маплъэ, зэми Чамлыдж бгыр щIеплъыкI. И лъэм зэрихьатэмэ, уэрамым дыхьэнтэкъэ: нобэ тыркухэм я лъэпкъ махуэшхуэщ. ЦIыхур уэрамым дэзщ, бэракъхэр ящхьэщохуарзэ, нэжэгужэ защIэщ. Тыркум я усакIуэшхуэр къыщалъхуа махуэщ нобэ. Езыр яхыхьэфынукъым - аращ игу къеуэр. Дэни къриха лъакъуэ узыр? И махуитI зыкъым. ИгъащIэкIэ и гугъэнтэкъым апхуэдэуз къеуэлIэнкIэ: нэхъ лъэрызехьэрэ нэхъ пIащэрэ дэсакъым Истамбыл. Иджы унэм щикIыр зэзэмызэххэщ. ЩIалэгъуэ жыхуаIэращ. Жьыгъэр фIыуэ щытатэмэ, псори щIэбэгынт абы. Гу лъимытэххэурэ, жьыгъэр къыкIэщIэзэрыхьащ Садридин... Щхьэгъубжэм доплъри, и гур хохъуэ Садридин: жылэм щагъэмэхуэшхуэкIэ, езыми и махуэшхуэщ нобэ. Истамбыл зы цIыху къыдэмынэжами ярейщ: зи лъэ вакъэ изылъхьэфыр уэрамым къыдыхьащ зэщыхуэпыкIауэ. Зыкърах цIыхум, оркестрым и жьафэр къехыркъым, дэнэкIи даIуэ - уэрэд макърэ гуфIэгъуэ макърэщ зэхэпхыр. Бетэмал, яхыхьэфынукъым. ЯдэгуфIэнтэкъэ, къадэфэнтэкъэ, яхыхьэфатэмэ — махуэ псом ялейщ нобэ: тыркум я усакIуэшхуэр къыщалъхуа махуэщ! - Лидэ! - жери джащ Садридин, щхьэгъубжэм здыдэплъым. И щхьэгъусэр пщэфIапIэм щIэтт. - Сыт ар? - Зыхуапэ. Щхьэ зыпIэжьэрэ? - Сыт зыщIэсхуэпэнур? - Уэрамым дыдыхьэнщ. Мадам Садриштайн бжэм къиуващ, и Iэр кIэпхынкIэ илъэщIыжурэ. Илъэс плIыщIрэ тхум нэса къудейщ, жьыфэ къытеуами. Илъэс тIощIрэ тхукIэ зэригъэзахуэурэ ихъума ахъшэр фIашхащ - жьыфэ къыптригъэуэнкъэ апхуэдэ гуныкъуэгъуэм! ФIэзышхари хэт: езым и бынщ - и къуэ хьэхэбасэращ. И щхьэгъусэри и мычэзууэ жьы ихъукIащ абы. Лэжьэжыфыркъым Садридин: абы и пенсэм иропсэу унагъуэр, нэгъуэщI хэхъуапIэ яIэкъым. Зумыгъэзахуэмэ, пенсэм урикъун? Мадам Садриштайн хуэIэзэщ абы – зэгъэзэхуэкIэ ещIэ, лей игъэкIуэдынукъым. - Сыт уэрамым щытщIэнур? Iуэху уиIэ? - СиIэкъым. - Сыт-тIэ унэм дыщIикIынур? - Нобэ Орхъан-бей къыщалъхуа махуэщ. - Ар хэт езыр? - ПцIыхуркъэ? - СцIыхуркъым. Дэнэ щысцIыхун? - Iэгъу! Мадам Садриштайн тырку зэрыдэкIуэрэ илъэс щэщI хъуащ, зэрыдэкIуэ лъандэрэ Тыркум щопсэу, ауэ а къэралым хищIыкI щыIэтэкъым. - Хэт жыпIа нобэ къалъхуар? - Ди усакIуэшхуэр! Лъэпкъ псор дызэрыгушхуэ усакIуэ щэджащэр! - ГъэщIэгъуэныр къызжепIаи! Сыт, къалъхуамэ? - Ар дауэ жыпIэрэ? Орхъан-бей къыщалъхуа махуэр тыркум ягъэлъапIэ, я лъэпкъ махуэшхуэщ. Дэплъыт щхьэгъубжэм: цIыхур къызэрехьэжьащ, бэракъхэр мэбырыб! Мадам Садриштайн, бжэм къикIри, лъэбакъуитI-щы ичащ, утыкум ит стIолым телъэщIыхьащ, щхьэгъубжэм бгъэдыхьэри дэплъащ. - ЯхущIохьэ,- жери щхьэгъубжэм къыбгъэдэкIыжащ мадам Садриштайн. - ДыщIэгъэкI, Лидэ. Дахэплъэнщ. - Уи закъуэ кIуэ. Сэ схущIыхьэнукъым: сыжьыщIэнущ. - Нобэризэм умыжьыщIэкIэ, сыт ягъэ кIын? Нобэ хуэдэ махуэ куэдрэ къэхъуркъым: махуэ лъапIэщ! И лIыр зэхищIыкIакъым мадам Садриштайн: - Фэращ зи махуэ лъапIэр. Сэ сыт хузиIуэху? Жэуапи пэплъакъым - пэшым щIэкIыжащ. Садридин и жагъуэ хъуащ, дауи: щхьэ зэхимыщIыкIрэ и фызым? Уегупсысыжмэ, и Iуэху хэлъкъым, ар пэжщ: тыркум усакIуэшхуэ къащIэхъуакIэ, нэмыцэ фызыр пхуежэжьэн? Зы унэ щIэсурэ, гъащIэр зэдахьащ, жьы зэдэхъуащ, итIани я зэхуаку мылыбг лъагэ дэт хуэдэщ зэщхьэгъусэхэм. Иджыпстуи аракъэ: Садридин и гур щыхэхъуэн махуэт нобэ - и щхьэгъусэм зэхищIыкIакъым. ЗэхищIыкIын дэнэ къэна, къыщыдыхьэшхауэ къыфIэщIащ, къыщIэнакIэри жьыщIакIуэ ежьэжащ, езыр жыхафэгум къытринэри. Жыхафэгуракъэ Садридин къыхуэнэжар: щIэкIи щIэплъи хъуркъым, и лъэм зэрихьэркъыми. Уэрамым кIий макъ къыдэIукIащ: - «Вакит», «Хавадие», «Туран», «Икдам», «Ярын», «Халич», «Гюзел Истанбул» - газетыр си гъунэжщ! Зыщэхун! ЗыхэвмыгъэкIыж! ФыщIегъуэжынщ, маржэ! Садридин армыгъуейуэ зыкъиIэтри щхьэгъубжэм бгъэдыхьащ: - Ей, тIыкIуэ! ЩIалэ цIыкIут газет зыщэр. Къыдэплъеящ, Iэдакъэжьауэ ищIри. - Газет къысхудэхьей! - Етхуанэ къатым нэси? - JIIo къэхъунур? - Лифт фиIэ? - ДиIэкъым. - СыныдэкIуеифынукъым абы щыгъуэ! Садридин и нэ къикIырт: сыт традзэрэ газетхэм нобэ? Махуэ псом ялейкъэ нобэ? Iэджи ятх хъунщ - абы дауэ зыхигъэкIыжын Садридин! ЩIалэ цIыкIури зэрыхьэтырыншэ... - Къыдэхьей, тIыкIуэ! Псори къэсщэхунущ,- егуоуащ Садридин уэрамым дэт щIалэ цIыкIум. ЩIалэ цIыкIум жэуап къритыжакъым, къыдэплъея фIэкI: унэр лъагэщ. - Сыпхуэупсэнщ, газет уасэм нэмыщI... - Укъысхуэупсэнумэ, ар нэгъуэщIщ... Садридин къытричырти, и лъакъуэр къызэрезауэри щыгъупщэжауэ, бжэщхьэIум теуващ. ЩIалэ цIыкIур къыщысым, газет зыбгъупщI къищэхуащ, хуэупсэри, щIалэ цIыкIур иутIыпщыжащ. Садридин газетхэр, зыр адрейм кIэлъигъэпIащIэу, зэкIуэцIех. Псоми сурэтышхуэ тетщ - усакIуэ щэджащэм и сурэт! УсакIуэр и фэкIэ ицIыхуртэкъым Садридин, зэи ирихьэлIатэкъым. Сурэтым йоплъри - и нэIуасэ хуэдэщ, илъэгъуауэ къыщохъуж. Дэнэ щилъэгъуар? Зэщхьри хэт? Набдзэ Iувщ, нэщIащэ куущ усакIуэшхуэр, къыщогуфIыкI... Дэнэ мыр щилъэгъуар, дэнэ щицIыхурэ - къыхуэгубзыгъыжыркъым. Зэщхьри хэт?.. Сурэтым зыщигъэнщIыркъым Садридин: дрихьеймэ – мэгъущIэ, кърихьэхмэ - мэщIытэ жыхуаIэм хуэдэщ. Дэнэщ жыпIа щицIыхур, щхьэ къыхуэмыгубзыгъыжрэ? Дэнэ щилъэгъуами, ирихьэлIащ, и щхьэр трикъутэ пэтми, къыхуэгубзыгъыжыркъым армыхъу... «Халич» газетым традзащ усакIуэшхуэр къыщалъхуа махуэр зэрагъэлъэпIэну программа. Газетым зэритхымкIэ, усакIуэшхуэм и махуэр щагъэлъэпIэнущ еджапIэхэм, лэжьапIэхэм, къулыкъущIапIэхэм, театрхэм, дзэр зыдэс казармэхэм, кхъухьхэм, абы хэтынущ тхакIуэхэри, художникхэри, артистхэри, архитекторхэри, щIэныгъэлIхэри, дзэпщхэри, хыдзэлIхэри, кхъухьлъатэзехуэхэри, мэкъумэшыщIэхэри, хамэ къэрал къикIа дипломатхэри. Чамлыдж бгым и лъапэм дзэр щиувыкIауэ щызэхэтщ нэху зэрыщ лъандэрэ - махуэшхуэ парад щыIэнущ, топ ягъэуэнущ, спортсменхэр зэпеуэнущ... Чамлыдж бгым и лъапэм зы сэрей щIэращIэ тетщ - аращ усакIуэ щэджащэр къыщалъхуар. Ускюдар лъэмыжымкIэ къызэпрокIри, цIыхур абы зэрохь - нобэ хуэдэ махуэм унэм уис хъурэ! Къалэр зэщIэващи, зэрызохьэ, бжьэцым хуэдэщ, яужь къинэм и махуэ мыгъуэщ. Садридин литературам зэрыдихьэхи хищIыкIи щыIэтэкъым, уеблэмэ къридзэххэртэкъым, итIани Орхъан-бей и тхылъитI-щы еджат. Орхъан-бей и зы усэ игу къэкIыжри, Садридин хэщэтыкIащ: хуэдэ еджауэ ищIэжыркъым игъащIэм! Уи гум жьы дрегъэху усэм, уи гущIэлъапсэм ноIус... усакIуэшхуэр илъэс тIощIрэ блырэ хъуа къудейщ - аращ и ныбжьыр здынэсар. И щIыхьыр здынэсам еплъ! АфIэкIа къимыгъэщIарэ пэт, Орхъан-бей тырку культурам и вагъуэ хъуащ, и тхылъ пщыкIубл дунейм къытехьащ. Лъэпкъым и набдзэщ Орхъан-бей, езыми и лъэпкъым пищI щыIэкъым. Илъэс пщыкIубл щрикъуам, Орхъан-бей къэралыр зэхикIухьакIэт - зыдэмыхьа жылэ къигъэнэжакъым, цIыху цIыкIум я псэукIэм щыгъуазэ зищIащ, и нэкIэ зригъэлъэгъуащ. Абы и ужькIэ трагедие ахъырзэманищ, усэ тхылъищ, романищ итхри тыркухэм ягу жьы дригъэхужащ. «...Орхъан ди лъэпкъым и усакIуэшхуэщ,- итхырт «Туран» газетым.- ИгъащIэ лъандэрэ кIыфIыгъэм хэта ди лъэпкъыр къигъэушащ абы, нэхугъэмрэ зыузэщIыныгъэмрэ я гъуэгум тришащ». - Садридин къытригъэзэ журэ зыбжанэрэ щIиджыкIащ а сатыр дыгъэлхэр. «Си гум фыкъишхыдыкIащ, фызахуэщ, хэбдзыну зы псалъэ хэткъым!» - и гур хохъуэ Садридин! Газетыр щыхьэт тохъуэ: «Тыркухэм зы бзэ диIакъым иджыри къэс. Ди бзэр тфIэауану дыкъэгъуэгурыкIуащ. Зи бзэр зыфIэауан тхакIуэ жьэрэIурэхэр хьэрыпыбзэрэ къэжэрыбзэрэщ нобэр къыздэсым зэрытхэр. Абыхэм я джабэр щIиудащ Орхъан-бей! Ди бзэр зэрыкъулейр, абы уритхэ зэрыхъунур хьэкъ къытщищIащ Орхъан-бей!» - Захуэщ! Захуэщ! - акъылэгъу мэхъу Садридин. «...Тхыбзэр зейр гуп щхьэхуэкъым, ар лъэпкъым зэдайщ - аращ Орхъан-бей дызыхуигъэIущыр. Захуэкъэ Орхъан-бей? - щIэупщIэрт газетыр, жэуапи иритыжырт: - Захуэм къыщынэжыркъым! ЦIыху цIыкIум яIурылъ бзэращ ди тхыбзэр Орхъан-бей къызыхиIущIыкIар. ЦIыху цIыкIур зэрыпсалъэ бзэр лантIэщ, куущ, шэрыуэщ. Апхуэдэбзэщ Орхъан-бей зэрытхэр...» Орхъан-бей щытхъупсыр кърагъэжэхыурэ, газетхэр зэпоуэ. «Туран» газетым иригъэлейкIэ шэч хуэпщIын, мыр щитхкIэ: «Ди усакIуэ телъыджэ! Уэращ дэ дыкъэзыгъэщIар! Уэр мыхъуамэ, тырку лъэпкъхэр дызэрыщIэнутэкъым ноби. Хивэ, Бухъэра, Самарканд, Кашгар, Кавказым, Азербайджаным, Анэдолэм щыпсэу тыркухэм къагурыIуэртэкъым Истамбыл зэрыщыпсалъэ бзэр. Уяпэ ита тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ цIыхубэм зэреджэр къэрэхьэлъкът, абы и гурыгъу-гурыщIэхэр зыхащIэртэкъым. Удыгъэ пэлъытэщ уэ, ди псэр зэщIыбогъэнахуэ, ди гущхьэм укъопсэ. Уи дыгъэ бзийхэр «къэрэхъэлъкъ» дзыр зыфIаща тырку цIыхубэм яжьэхопсэ. Нобэ ди лъэпкъым пэтщI щымыIэ хъуамэ, ар, псом япэрауэ, уэращ зи фIыщIэр, уэ пфIэтхынукъым! Уи усэ телъыджэхэр гукIэ зымыщIэ исыжкъым Тыркум - Истамбыл дэс пщащэ щIыкIафIэхэми, Анэдолэм и лIы хахуэхэми, уеблэмэ Туркестаным и Iэщыхъуэхэми я жьэм жьэдэкIыркъым уи усэ сатырхэр. Уи зы усэ сатырым зэщIигъэлыдащ ди гущIэм жылкIэрэ щыжея лъагъуныгъэ гуащIэр...» «Гюзел Истанбул» шхыдэбэIущ игъащIэм, къыкIэщIэмыпIаскIуэмэ, ишхыр и дзажэм дыхьэркъым. Ар щыгъупщэжауэ, газет жьэмыгъуэм щытхъупсыр кърегъэжэх усакIуэм: «Орхъан-бей щхьэщэ хуэдвгъэщI. Абы и бзэм хуэдэ хэт ирихьэлIа - уи гум жьы дрегъэху! Истамбыл зэрыщыпсалъэ бзэ IуэнтIаракъым Орхъан-бей зэрытхэр - цIыху цIыкIум я бзэращ! Ди лъэпкъым задай бзэ хъуащ ар нобэ щынщIэдзауэ. Хэт ар зи фIыщIэр? Орхъан-бейщ! Хэтыт нэхъапэм дызыдэплъейр, щапхъэ къызытетхыр? Европейхэрат, е къэжэрхэрат. Европейхэри къэжэрхэри щапхъэкъым Орхъан-бей дежкIэ, къадэуджакъым, ядежьууакъым абыхэм. И гущIэм къиIукIым фIэкI, нэгъуэщIым едэIуакъым Орхъан-бей. Тыркум я гум къишхыдыкIащ Орхъан-бей, ди гъурри ди цIынэри ещIэ абы. ЦIыху цIыкIум я дежщ абы итхауэ хъуар къыщиулъэпхъэщар...» Газетхэм апхуэдизкIэ зыIэпашати, Садридин зэхихыжакъым и щхьэгъусэр къызэреджар - пщэфIапIэм здыщIэтым. Щызэхимыхым, езыр пэшым къыщIыхьащ. - Ушхэнукъэ? Садридин къэскIащ. - Сышхащэрэт жысIэкъым. Си шхалъэр къыхоузыкI. - Шэ ефэ, мыхъуми. - ИужькIэ, иужькIэ! - и нэр газетым къытричыфыркъым Садридин. - УзэрегуакIуэщ... Зэджэр зрегъэтIылъэкI Садридин, Iэтэ хуэдиз хъуащ зэджар. Топ уэ макъ къэIуащ асыхьэтым. Садридин щхьэгъубжэм дэплъащ: Чамлыдж лъапэ деж махуэшхуэ парад щызэхаублащ. Парадыр яубламэ, сыхьэт пщыкIутI хъуащ. - Нэхъ пщыхьэщхьэ хъумэ сахыхьэнщ, - жери газетым хэтIысхьэжащ Садридин. Хэт и гугъэнт ди лъэпкъым апхуэдэ усакIуэ щэджащэ къыхэкIынкIэ! Абы щегупсыскIэ, Садридин гуфIэгъуэмрэ дэрэжэгъуэмрэ зэщIащтэ, и гур зэрыхэхъуэм щIэ щIэткъым. «Ярын» газетым усакIуэм и интервью традзащ. Садридин еджащ корреспондентыр щеупщIым Орхъан-бей кърита жэуапхэм. УсакIуэшхуэм зиумысыжырт: «Псори зи фIыщIэр си анэращ. Лъэпкъыр фIыуэ зэрыслъагъу ным сыхуигъэIущащ си анэм. Си усэхэм щIэлъ IэфIыгъэр си гущIэм къыщызыгъэушар си анэращ. Си анэм къызжиIа таурыхъхэмрэ хъыбархэмрэ лъабжьэ хуэхъуащ си усэхэми, си романхэми, си трагедиехэми. Тырку лъэпкъым пищI щыIэкъым си анэм, зэрытыркум иропагэ - апхуэдэ лъагъуныгъэ къыщигъэушащ си гущIэми. Аращ цIыху цIыкIум я гущIэм сыкъыщIипсэлъыкIыр, я бзэр щIэзгъэшэрыуэр...» Газетхэм апхуэдэ Iэджэ къриджыкIащ Садридин. Лъэпкъыр къигъэушащ Орхъан-бей - ар сыт и уасэ! ЗаригъэцIыхужащ тыркум: гуащIэрэ зэфIэкIрэ зыхэлъ лъэпкъщ, зэрахэлъыр я фIэщ ищIащ, ищIыфащ. И ныбжьри сыт: илъэс тIощIрэ блырэ хъуа къудейщ. АфIэкIа зи мыныбжьыр лъэпкъым и вагъуэ хъуауэ тырку тхыдэм ищIэжыркъым... Орхъан-бей ехъуэхъун щхьэкIэ, хьэщIэхэр къикIащ Кашгар, Бухъэра, Фергана, Хивэ, Алтай... ЩIалэ дыдэщ Орхъан-бей, щIалэ дыдэми, щIыхьыр и бэщ, дэнэ лъэныкъуэкIи щыцIэрыIуэщ... И узри щыгъупщэжауэ, газетым хэсщ Садридин, дамэ тетамэ, унэ зэвым щIэлъэтыкIынт иджыпсту, апхуэдизкIэ и гур хэхъуэрти. И гур нэхъри хэхъуэнт, и узым зыкъримыгъэщIамэ: и лъакъуэр къыщыхэузыкIым, зызэ- фIишащ, и дзэр зэтрикъузэри, и щхьэр къыфIэхуащ. И нэр зэтрипIащ. И къуэр игу къэкIыжащ асыхьэтым. Бэлыхь мащIэ дишэча и къуэм - зы махуэ игъэтыншакъым. МащIэрэ елIэлIакъым: хуеджакъым, цIыху къыхи- хуфакъым. Адэмыущий-анэмыущий жыхуаIэм нэхърэ нэхъыкIэ хъуащ теурэзыр зыхуэкIуэныр! Орхъан хуэдэ илъэсищэм зэщ къызэралъхур, дауи. Къэзылъхури цIыхубзым ялейщ. Япэ къэсым къилъхун апхуэдэкъуэ! ЗакъуэтIакъуэщ апхуэдэ бынкIэ тхьэр зыхуэупсэр. А закъуэтIакъуэм ящыщ хъунщ Орхъан-бей и анэр - абы шэч хэлъкъым. Садридин и щхьэгъусэм и лажьэр сытыт? Псэемыблэжтэкъэ, нэмыс хэлътэкъэ, гумащIэтэкъэ, ахъшэ зэгъэзэхуэкIэ ищIэртэкъэ! И къуэр хуэгъэсакъым: хьэлыншэ, щэныншэ хъуащ, тхьэгъэпцIщ, щхьэхуещэщ, гущIэгъуншэщ. ФэрыщIщ зэрысабий лъандэрэ. И анэм жриIэрт: «Сэ сынэмыцэщ! Тыркухэр шыдщ!» Езы Садридин къыжриIэр нэгъуэщIт: «Сэ сытыркущ! Нэмыцэм сытеплъэ хъуркъым!» И анэмрэ и адэмрэ я кум дэтащ щIалэ угъурсызыр. ТIуми захуигъэбзэIэфIурэ, зыхуейр къаригъэщIащ. Иужьым тIуми къахурикъужащ... - Дапщэщ дыщытеплъэкъукIар? Щхьэ тхуэмыгъэсарэ? - и щхьэр зыфIеудыж Садридин, и къуэр игу къихьэмэ. И анэм ещхь щхьэ мыхъужарэ щIалэр? Езы Садридини цIыху акъылыншэтэкъым, лэжьэкIи псэукIи ищIэрт - абы дэплъеякъым щIалэр. Орхъан еплъ: и адэр щхьэщытыжакъым зэрысабий быдзафэ лъандэрэ, и анэм ипIащ. Уи адэр пщхьэщымытыжмэ, узеиншэ пэлъытэкъэ? Зеиншэр зэрыхъуам еплъ иджы: дуней псор къохъуапсэ, тыркум я набдзэщ... И къуэр и нэгу къыщыщIыхьэм, Садридин и гур къыхэузыкIащ. ИгъащIэкIэ къыщIэмыхьэжащэрэт и нэгу. Теунэхъуащ угъурсызым. ИгъащIэ лъандэрэ зэхуихьэса ахъшэр якIэщIигъэкIуэсыкIащ. ЯкIэщIигъэкIуэсыкIри, Америкам зригъэхьащ. Мыгъуэ хухъу! «Жьы дыхъумэ», - жари дадзыхат ахъшэр. Иджы сыт зыщыгугъыжынур? Я жьыщхьэ гъэпкIауэ къэнакъэ? Теунэхъуащ я къуэм... И къуэм и цIэ зэхихмэ, мадам Садриштайн къызокIуэкI, и фэр покIри зэщIокIэзызэ. - Хьэрэм хухъу! КъыIурыхуж! - жери гъыуэ мэтIыс мадам Садриштайн. Дэнэ щыхэт иджы – ящIэркъым. Тыркукъым, нэмыцэкъым... Орхъан-бей лъэпкъыр ирогушхуэ - газетхэм яхуэIуэтэщIыркъым усакIуэшхуэм и пщIэмрэ и щIыхьымрэ, щытхъупс къезымыгъэжэх яхэткъым. Газетхэм щеджэкIэ, игурэ и щхьэрэ зобгъэж Садридин. Насыпыншэм, махъшэм тесми, хьэ къодзакъэ. Насыпыншэт Садридин. Насып иIатэмэ, апхуэдэ къыщыщIынтэкъым... Зи насыпыр Орхъан-бей хуэдэкъуэ зиIэ анэращ! «Орхъан-бей и анэм сыIуплъащэрэт! - жеIэ Садридин игукIэ. Хэт имылъагъунрэт апхуэдэкъуэ зыпIа цIыхубзыр!» ИпIа къудей! Орхъан-бей и цIэр къэрал бжаблэм иратхащ, лъэпкъым и гъуазэщ, и вагъуэщ, и гугъапIэщ... Гупсысэм хэхуауэ, жыхафэгум тесщ Садридин, и куэщIым илъ газетхэм, къытригъэзэжурэ еджэми, зыщигъэнщIыркъым. ПщыхьэщхьэхуегъэзэкI хъуами, цIыхур зэбгрыкIыжакъым, оркестрым и гъуагъуэ макъри зэпыуакъым. Пщыхьэщхьэм щIэкIын мурад иIэт Садридин. - Пщыхьэщхьэр щIыIэтыIэ мэхъу,- къыжриIащ мадам Садриштайн. - ИтIани сыщIэкIынущ. - Сыт щхьэкIэ? - Унэм сыщIэзэшыхьащ. - Щхьэгъубжэм удэплъмэ, плъагъунущ. Сыт уэрамым щыпщIэнур? - Зыри. - КIуэ, сыщIэкIащэрэт жыпIэмэ... Пшапэр зэхэуэху, щхьэгъубжэм бгъэдэсащ зэлIзэфызыр, Истамбыл дэплъэу. Махуэшхуэщ нобэ, цIыхур уэрамым къыдэужьгъащ, нэжэгужэ защIэщ... Щхьэгъубжэм бгъэдэсыху, зы псалъи зэжраIакъым зэлIзэфызым. * * * ЕтIуанэ махуэми ещанэми гукъыдэж иIакъым Садридин. Пэжщ, и узыр нэхъ увыIащи, а зыр и гурыфIыгъуэщ. Зы гупсысэ къыкIэрыхъыжьащи, ар и щхьэм икIыркъым: сыт и шыфэлIыфэ усакIуэ щэджащэкIэ тыркум яхуэупса цIыхубзым? - Зэ закъуэ сыIуплъащэрэт! - къокI и нэ. Шэнтжьейм изэгъэжыркъым Садридин, бэуапIэ къезымыт гупсысэм къыхигъэзыхьащи, щIехуэ. Апхуэдиз хьэлъэ хуэшэчын и лIыжьыщхьэ? Шэджагъуашхэ шха нэужь, зихуэпащ Садридин, хьэмкIутIей баш гъумыщIэр къищтащ. Iэнэр щыIуихыжым, и щхьэгъусэр къеупщIащ: - Дэнэ уежьа? - ТIэкIу къэскIухьынущ. - Укъэмыгувэ. Пщыхьэщхьэр щIыIэтыIэ мэхъу. Пхуэшэчынкъым. - Хъунщ, сыкъэгувэнкъым. Унэм щIэкIри ищхъэрэкIэ иригъэзыхащ, лъэбакъуэ зыбжанэ ичыху, зыщIэувыIыкIыурэ. Аяспаша паркым нэсри телефоным бгъэдыхьащ. Орхъан-бей и адресыр къищIащ, телефоныр къытрихри: - Алло! - жиIащ щэху дыдэу. - СынодаIуэ. - Орхъан-бей и унэра? - Аращ,- жэуап къритыжащ хъыджэбз макъым. - Гуащэр щIэс? - щIэупщIащ Садридин. - ЩIэсщ. - Сехъуэхъунут гуащэм. Сынеблагъэ хъун? «ЛIыжь гуэр къыпщIоупщIэ» схужеIэ гуащэм, дахэ. - Уи цIэр сыт? - Си цIэкIэ сыкъэпщIэнукъым... Садридинщ си цIэр. Анэдолэ гъущI гъуэгу компанием сыщылэжьащ. СытIысыжауэ сыщысщ. Фон СадриштайнкIэ нэхъ сыкъацIыху. - Зы дакъикъэ къыспэплъэ, - къыжриIащ хъьщжэбзым. ДакъикъитIкIэ зыпигъэплъащ. - Алло... - Зэхызох, си дахэ. - КъакIуэ. Дапщэщ укъэсын? - Иджыпсту сынэсынщ. - КъакIуэ-тIэ. Абдеж дыдэм маршынэ къыщищтащ Садридин. «Чамлыдж, Орхъан-бей и унэм сышэ!» - жери маршынэм итIысхьащ. Къытреч, усакIуэ щэджащэр къэзылъхуар илъагъунущи, маршынэми изэгъэжыркъым. Щхьэ жьажьэ мы маршынэр! Щхьэ зрилъэфыхьрэ! ИщIэркъэ Садридин зэрыпIэцIеижыр? Ускюдар лъэмыжым икIа нэужь, таксистым елъэIуащ: - НеужьэрэкIыт, щIалэфI! СопIащIэ! Дакъикъэ пщыкIутхукIэ нэсащ Чамлыдж. Маршынэр гъущI куэбжэ деж къыщыувыIащ. - Дыкъэсащ! Мыращ ди усакIуэшхуэм и унэр! - къыжриIащ таксистым: Орхъан-бей зымыцIыху искъым Тыркум! Куэбжэм дыхьэри, Садридин и жьэр Iурыхуащ: нэхъ лъапсэ щIэращIэ илъэгъуауэ ищIэжыркъым! Жыг хадэшхуэм лъагъуэ кIуэцIрокI, лъагъуэм и бгъуитIымкIи удз дахэ къегъэкIэкIащ, удз гъэгъар щхъуэкIэплъыкIэщи, зэщIолыдэ, зэщIопщIыпщIэ, я мэ гуакIуэр напIэзыпIэм бгъэм щыз мэхъу. Хадэкум псыутх щыболъагъу, скъар мывэ хужьыбзэкIэ къищIыкIауэ. Бзухэр мэбзэрабзэ, хадэм хъурейуэ къыщызыжыхь псыIэрышэм дыщэ бдзэжьей зэмыфэгъу цIыкIухэр щос... - Я дэ ди тхьэ! Жэнэт жыхуаIэр мыракъэ! Орхъан и пшыналъэм хуэдабзэщ: зэщIонахуэ, зэщIолыдэ, зэщIопщIыпщIэ ихъуреягъкIэ. Садридин пщIыхьэпIэуи илъэгъуакъым апхуэдэ телъыджэ. ДэкIуеипIэ зэв, унэлъащIэ тIорысэ, пэш кIагъэпшагъэ, алэрыбгъу укъуея, сырэ зэщIэскъыскъэ - аращ игъащIэ лъандэрэ илъагъур. Ар дуней? Ар гъащIэ? Пэжщ, щIытебгэжыни щыIэкъым и гъащIэм, зытеукIытыхьыжын ищIауэ къыхуэгубзыгъыжыркъым, и напэр къабзэщ, жылэм яхэгъуащэу псэуащ. НэхъыфIыжуи псэунут, и жьыщхьэ къыщыщIар къемыхъулIамэ. Ахъшэр зэрагъэзахуэурэ, зыхуагъэныкъуэурэ, дадзыхыурэ зэхуахьэсат зэлIзэфызым. ЗдэкIуэжами еплъ я ахъшэр: игъащIэ лъандэрэ зэхуахьэсауэ хъуар я къуэ хьэхэбасэм якIэщIидыгъукIащ... Хадэм икIри, унэм бгъэдыхьащ Садридин. ДэкIуеипIэри скъар мывэ хужьыбзэщ, щхьэгъубжэIупхъуэ пIащIэр жьы мащIэм зэрехьэ. - Мыпхуэдэ лъапсэ укъыщалъхуамэ, усакIуэ ухъункъэ! – зэригъэщIэгъуэнур ищIэркъым Садридин. Бжэм бгъэдыхьэри, уэзджынэм трикъузащ Садридин. Бжэр хъыджэбз псыгъуэ цIыкIу къыIуихащ. - Гуащэр щIэсмэ, сыкъэсащ. - Уэра нетIэ къызэпсэлъар? - Сэращ. - КъыщIыхьэ. УсакIуэшхуэм и унэм цIыху Iув щрихьэлIэн и гугъащ Садридин: Iэуэлъауэ зэхихакъым, цIыхуи щIилъэгъуакъым. И башыр бжэкъуагъым къуигъэувэри, хъыджэбз цIыкIум еупщIащ: - Орхъан-бей унэм ис? - Хьэуэ, искъым. - Дэнэ-тIэ здэщыIэр? - ТхьэмахуитI и пэкIэ Болу кIуащ. - И махуэшхуэм хэтакъым-тIэ? - Хэтакъым. ХьэщIэ зыщIашэ пэшым и бжэр Iуихащ хъыджэбз цIыкIум. - Гуащэм хъыбар езгъэщIэнщ,- жери хъыджэбз цIыкIур щIэкIыжащ, Садридин пэшым къыщIинэри. Пэшыр апхуэдизкIэ гъэщIэрэщIащи, узэплъынури пщIэркъым. Блыным тырку художник цIэрыIуэхэм я сурэтхэр фIэлъщ, алэрыбгъу лъапIэхэр унэ лъэгум иубгъуащ, блынми фIэдзащ. ЖьантIэм офицер фащэр зэкIупс щIалэ бжьыфIэм и сурэт къыдоплъ. Илъэс щэщI хуэдэ и пэкIэ зэрахьа фащэщ офицер щIалэм щыгъыр. «Мыра хъунщ ди усакIуэшхуэм и адэр. ЗэрызэхэсхамкIэ, зауэм къыщаукIащ. И хьэдрыхэ нэху ухъу»,- жиIащ Садридин игукIэ. Хъыджэбз цIыкIум къигъэзэжащ. - НакIуэ, къыппоплъэ. Щыхубз телъыджэм Iуплъэнущ иджыпсту! УсакIуэшхуэр къэзылъхуа цIыхубзым! И гур къолъэт Садридин, гуфIэгъуэм зэщIищтащи, лъэтэн къыфIощI. Бжэр хъыджэбз цIыкIум Iуихащ, япэ ищри. Жыхафэгум тет цIыхубзым щыIуплъэм, Садридин къэмэх пэтащ! И фIэщ хъуакъым! БгъэдэкIуэтэIуэри и нэр триубыдащ. Жьыр къыпиубыдащ асыхьэтыпцIэм, къэджалэ пэтащ. - Садридин-бей? Сыщыуакъым, пэжкъэ? СыкъэпцIыхужа? ТIыс, тхьэм щхьэкIэ. Къэмыджэлэн щхьэкIэ, Садридин бжэблыпкъым зригъэщIащ. И щхьэр фIиубыдыкIыжащ. - СынокъуэншэкIащ! СынокъуэншэкIащ! - нэгъуэщI къыхудэшеижакъым Садридин. Игу къыщIэгъуауэ фэ зытригъауэри, Орхъан и анэм жиIащ: - ЕмыкIу къызэпщIами, сигу нобгъэжыркъым, Садридин-бей. Сигу Iей пхуилъыжкъым. МащIэ щIа! СыкъибгъэкIыжащ - ари сшэчынт. Нэмыцэ фыз фIыуэ плъагъури къэпшащ - узэрегуакIуэт. ПцIы къыщIыстеплъхьаращ сымыщIэр. УэсщIар сытыт, напэ хужькIэ сыббгъэдэтакъэ? ТхакIуэ щхьэгъавэм пцIы хуэбупсащ, къыскIэрумыцIэлъа къэбгъэнэжакъым. Аращ сигу имыхужыр. - Зыми... зыми пцIы хуэзупсакъым. - ТхакIуэ щхьэгъавэм езым къигупсыса-тIэ? Уэ лажьэ уимыIэмэ, щхьэ хуэбда? ТхакIуэм зы псалъэ Iэрыгъэхьи, минкIэ зэблишынущ... Си напэр тепхащ, Садридин-бей! Жылэм сахэбгъэIуащ! Садридин бауэкIэщI хъуащ, абы фIэкIмэ, къэджэлэнущ. - Сыкъуаншэщ... Абдеж щыпичащ. АфIэкI зыщиIэжьэж хъунутэкъым мы унэм. Зыкъигъазэри, пэшым къыщIэжыжащ. И кIэр пачын къыфIэщIу, пщIантIэм къыдэжыжри, уэрамым дэлъэдэжащ. Мэжджытым къыщIахужа Iиманыншэ фIэкI пщIэнтэкъым, Орхъан-бей и лъапсэр къыщибгынэм Садридин плъэгъуамэ. * * * ШЫ Си шыр тхьэмахуищ нейкIэ шэщым щIэтащ — щIэзэшыхьакъэ! Нобэ сышэсри, уанэ тесхакъым сыхьэтитIкIэ. Шыр ешащ, тхъурымбэр къохуэх. Абы гу лъыстащ, Вадар псыхъуэ дыдыхьа нэужь. Шыр ешами, сэ сыкъызэрыкIа къудейт. Си шым щIопщ уэгъуэ есхащ. Шым зричащ. Дзэлычым си напэр щIехулыкI, жьыр фийуэ зэхызох. Зыгуэрым срихьэжьауэ къысщохъу, жьыбгъэ сышэса хуэдэщ. «Илъэс щитху хуэдэ и пэкIэ сыкъалъхуатэми!» - а зыращ си гур зэрызгъэфIыр. Илъэс щитху и пэкIэ сыкъалъхуауэ щытамэ, дуней жыхуаIэр фэзгъэлъагъунт! НеIэмал... Дыкъалъхуакъым и чэзум... Пшэ Iэтэ сырыхухэр уафэ лъащIэм щос - щхьэхынэ хъуауэ жызоIэ. Шыри ешауэ къысфIощI, кIуэрым техьэн и мурад си гугъэщи, щIопщыр хузогъэдалъэ. Шым, аргуэрыжьщи, зреч, кумблIэмб хуэзэкIи, къызэтеувыIэркъым. Шы лъэгум къыщIэлъэт ятIэ шыкъырымрэ мывэкIэ- щхъымрэ, къуанщIэ фIыцIэ хуэдэ, си ужьым итщ... Илъэс щитху и пэкIэ сыкъалъхуауэ щытатэмэ! «Хьет!» жрагъэIакъэ ди адэжьхэм! ЛIыгъэ-шыгъэкIэ уащIыхьэнт - жыжьэуи уапэхъунутэкъым. ЗекIуэм хэкIакъым, шым епсыхакъым зы махуэ! Бетэмал, илъэс щитху и пэкIэ сыкъалъхуауэ щытатэмэ! Дунейр тIэу пкIэгъуэ схурикъунтэкъым, батэр згъэшынт! Дэ сытым дыщыщ: дыкъэрабгъэщ, дыщхьэхынэщ, дынасыпыншэщ, дыIэщэншэщ, дыхьэрычэтыншэщ - аращ дыкъызэрызэхэнар. Шым нэхъри зрызогъэч, пщIэнтIэпсыр къыпхысхуащ. Псым дзэл бацэхэр щхьэщытщ; сэмэгурабгъумкIэ гъущI гъуэгу щызолъагъу: зиIуантIэ-зишантIэу, псым доущ гъущI гъуэгур, адэ-мыдэкIэ зыдедзэ, мэбгъунлъэ - псыхъуэм блапцIэ дэпщ фIэкI пщIэнкъым. Шыр емышурэ, сэ сешащ, си куэ лыпцIэр зэрызэхиущэбар зыхызощIэ. Гу къыслъита хъунщи, шым нэхъ хуэм зещI, и тхьэкIумэр зэблигъэплъурэ хопырхъыкI, бахъейр къыщхьэщех. Къалэ цIыкIум дынэсыжащ. Псы Iуфэм зыIуагуэшащ къалэ цIыкIум дэт кхъуэщыныщхьэ унэхэм. Я лъэгуажьэм нэс псым хэувауэ, цIыхубзхэр мэжьыщIэ. Сыкъыщалъагъум, хьэхэр зэщIэбэнащ. Шыр къыжьэдэскъуащ. Си Iэпкълъэпкъыр зэхэубэрэжьащ, шым сыкърамыхьэхыжмэ, сыкъепсыхыжыфын къысфIэщIыркъым. Аракъэ схузэфIэкIынур? Аракъэ си фэм дэхуэнур? Шы схуэфащэ сэ? Зы теуэгъуэ зэпысчати, си щхьэр унэзауэ, си Iэпкълъэпкъыр зэхэубэрэжьауэ уанэгум сисщ. Сыт къысхужаIэнт, дяпэ итахэм сыкъалъэгъуатэмэ? ЦIыхум сыхабжэжынтэкъым. Илъэс щитху хуэдэ и пэкIэ сыкъалъхуатэми! «Хьет!» жезгъэIэнт, уанэгум жэщи махуи сисами, зыуи къысщыхъунтэкъым. Сытым сыщыщ иджы: зыри сриуасэкъым, шыи схуэфащэкъым - ар хьэкъ сщыхъуащ нобэ. Сигурэ си щхьэрэ зэбгъэжауэ, тхьэ сIуащ: «АфIэкIа сымышэсыжын шы! Ди адэжьхэм я напэр тезмыхын!..» ХУИТЫНЫГЪЭМ И ЖЭЩ ИгъащIэкIэ схурикъунщ а зы жэщым си нэгу щIэкIар! ЛIы ныбжь къэбгъэщIами, уи нэгу апхуэдэ щIэмыкIынкIэ мэхъу. Зы жэщым си нэгу щIэкIащ ар, игъащIэкIи сигу ихужынкъым. Апхуэдэ зы жэщ щхьэкIэ мывэ зэпыпх хъунщ. Ди ужь къихъуэнум - ди щIэблэм - зыхамыщIэнкIи хъунщ апхуэдэ гухэхъуэгъуэ - а жэщым сэ зыхэсщIам хуэдэ! Тхьэм иджыри зэ си нэгу щIигъэкIыж а жэщыр - ди конституцэм и махуэр! Дуней псор нэгъуэщI хъуауэ къысфIэщIат абы щыгъуэ. Уэрамхэм бэракъхэмрэ цIыхумрэ дэз хъуат, цIыхур апхуэдизкIэ Iувти, уапхы- кIыфыртэкъым. ИгъащIэм зи жьэ зэщIэзымыха цIыхухэр жьэрэIурэ хъуауэ, уэрамым зэрыдэгъахуэртэкъым. Я жьэр хунт хъуат цIыхум - къызэрыкIат жызоIэ! Хэт гум йоувэри мэкIий, мэгуо. Шухэм щIопщ ягъэдалъэ, уанэгум йоувэри фоч драгъэуей. Щыхур бжьэцым хуэдэщи, зэрызохьэ. Хэт щэтопым йоуэ, хэт бэракъыр егъэпIий, Iэгулъэгур щIауд - я хьэм бажэ къиубыдащ жыпIэнщ! ДэнэкIи щызэхэпхыр зы псалъэщ: - ИугъащIэ хуитыныгъэм! - ИугъащIэ конституцэм! ЦIыхубзи, сабии, лIыжь-фызыжьи, щIалэгъуали, сэлэти - псори зэхэзэрыхьыжащ, хьэщхьэрыIуэ хъуами ярейщ, зэрехьэжьащи, псыдзэм хуэдэщ! Дэнэ зэрыхьрэ - зыми ищIэркъым. Сэри сахэзэрыхьащ: пхъэ къуэщIийм сыхуэдэщи, сыздахь... Уэрамым дапщэрэ сыдэтами, сщIэжыркъым. ЦIыху Iувым сазэрыхэтарщ сщIэжыр. Си лъэр къысщIэмыувэжыху, сахэтащ. Дыгъэр къухьами, сешатэкъым. Шхэн жыхуэпIэри сигу къэкIыххакъым. Жэщ ныкъуэ щыхъуам, цIыхур уэрамым нэхъ мащIэ щыхъуащ, Iэуэлъауэмрэ зырыгъэкIий-зэрыгъэгуоумрэ нэхъ кIащхъэ хъуауэ къысфIэщIащ. Унэм сызэрынэсыжари сщIэжыркъым. Унэм сихьэжри, гъуэлъыпIэм зизукъуэдиящ. ЗыстIэщIакъым - апхуэдэ гукъыдэж сиIэжтэкъым. Ныжэбэ хуэдэ жэщми дауэ сыгъуэлъыжынт - си гум схутегъахуэртэкъым. Сешащи, си псэр поху. ЗезгъэщIа щхьэкIэ, сигу загъэркъым. Зызмыгъэхъейуэ сыщылъщ, си гупсысэри зэхэзежэщ. Жьыр схурикъуркъым. Сыкъыщылъэтри, щхьэгъубжэм сыбгъэдэуващ: жэщ щIыIэтыIэм и мэр къысщIехьэ - а зыр си гурыфIыгъуэщ. «Уэрамым сыдыхьэнщ»,- жысIащ сигукIэ, унэм сыщIэзагъэртэкъыми. Хьэ банэ макъ щызэхэпхыжыртэкъым уэрамым. СыкъэувыIэри, си щхьэр къэсIэтащ. Уафэм вагъуэр изщ, зыр зым къыкIэлъижыхь хуэдэ. Гупсысэр къызэбгъэрыкIуащ, лагъым хуэдэ къэуэн хьэзырщ си щхьэм къи- зэрыгуа гупсысэ къомыр. Хуит сыхъуащ нобэ, си щхьэрэ си гупсысэрэ сыхуитыжщ - ар насыпкъэ! Пшэм хуэдэщ си гупсысэр - жьым зэрихуэ пшэм! Жьым зэрихуэ пшэм ищIэркъым здэкIуэр. Сыапхуэдэщ сэри: щхьэхуит сы- хъуащи, си гупсысэм я унэтIыпIэ хъунур слъагъуркъым... Уэрам нэщIым сыздыдэтым, баш зэрысIэщIэлъым гу лъыстэжащ. Хамэдзэ сахыхьа къыпфIэщIынт, башыр зэрызгъэдалъэр плъэгъуатэмэ, - джатэ сIэщIэлъ фIэкI пщIэнтэкъым! Си тхьэкIумэм тхьэгъуш ит хуэдэщ - мэву: Iэгуауэ макъымрэ кIий-гуо макъымрэ сахэкIакъым нобэ... СыкъэувыIэри, си макъ къызэрихькIэ сыкIиящ: - ИугъащIэ хуитыныгъэм! ИугъащIэ конституцэм! Делэ сыдэхъухьа нобэ уэрамым: зезгъэзэкIри, уэздыгъэр зыфIэлъ пкъом башкIэ сеуащ. Си башыр тIууэ зэпылъэтащ. СыукIытэжащ: щIалэ цIыкIугъэкъэ ар? Пкъом сыт и лажьэ? Си башми сыт и лажьэ? Насып сиIэмэ, зыгуэрым сыкъимылъэгъуауэ къыщIэкIынщ. Насып сиIэ хъунтэкъым: сызэплъэкIмэ - си щIыбагъым зы лIыжь дэтт. И нитIыр къыстриубыдауэ къызоплъ. Къызоплъри, къысщодыхьэшх. Си пIэм сижыхьащ - дэнэ укIуэжынт? ЩIэстхъун мурад сиIащ, лIыжьыр къызбгъэдэмыкIуэтатэмэ. - Зэ умыпIащIэ, щIалэфI. УемыдэIуэнкIэ пхузэфIэкIынутэкъым лIыжьым, апхуэдизкIэ макъ щабэти. Си пIэм сикIыфакъым. Башым и зы кIапэр къысIэщIэнати, ари сIэпыхуащ... Хэт хъуну? Бэлъто фIыцIэ быхъу щыгъщ лIыжьым. Пкъом фIэлъ уэздыгъэм нэху мащIэ къыпехри, лIыжьым и жьакIэ тхъуар солъагъу. Уафэм къеха фIэкI сщIакъым зи пащхьэ ситыр. - Сыт ухуейт? - жысIащ, лIыжьым си нэр тенауэ сыздеплъым. ЛIыжьыр пыдыхьэшхыкIащ. - Учэф? - Хьэуэ, сычэфкъым. - Уделэ хъунщ-тIэ? - Сыделэкъым... - АтIэ пкъом башкIэ щхьэ уеуа? Жэуап схуетакъым. - Уи башыр щхьэ пкъута? - СщIэркъым... - жысIащ сэ, нэгъуэщI згъуэтыжакъым. - Ыхьым... Учэфкъым... Уделэкъым... Башыр щIэпкъутари пщIэркъым... Си дамэр дэзгъэуеящ, сежьэжын муради сщIащ: лIыжь мыцIыхум и ущие сыхуэныкъуэт сэ? АрщхьэкIэ лIыжьыр къызбгъэдэкIуэтащ, къызэплъри и Iэр си дамащхьэм къытрилъхьащ. - Укъытримыч. Дэнэ уздэпIащIэр? Iэнкун сыхъуащ. - СопIащIэ. Iуэху си пщэ дэлъщ,- жысIащ. - Жэщыбгым фIэкIащ. Iуэху зиIэ щыIэ иджы? Абыи схуетакъым жэуап. Сыт зыхуейр лIыжьыр - къысхуэщIэркъым. Зыдэуэршэрын лъыхъуэрэ? И зэш тригъэун щхьэкIэ, къыдыхьауэ ара уэрамым? Сыт щхьэкIэ ебгъэнт сигу - си адэ и ныбжыц. - Хьэуэ, сыкIуэжын хуейщ... - УзгъэкIуэжынукъым. Гъусэ укъысхуэхъунщ. Зы сыхьэт ныкъуэ хуэдэкIэ къысщIыгъу. Зыгуэрым уегъэпIейтей уэ. УзэригъэпIейтейм гу лъыстащ. Жэщ кIыфIым уэрамым удыхьамэ, сакъ: мащэм уихуэнкIэ мэхъу. Улъэпэрэпэнщи, уунэхъуащ. Ущылъэпэрэпэнур пщIэрэ?.. ЛIыжьым сыбгъурыувэри, уэрамым дыдыхьащ. СыхущIоплъ, дыздэкIуэм: и жьакIэр уэсым хуэдэщ, пэбг къуаншэщ, натIэкъэбщ, лъэбакъуэр ибж хуэдэ, и щхьэ ехьэхауэ мэзекIуэ, и Iэр и щIыбкIэ щызэрыдзауэ. Нэгъуэщ! дуней къикIа цIыху гуэрым срихьэлIауэ къыс- щыхъуащ лIыжьым сыздыбгъурытым. Зы псалъэ жиIэху, и жьакIэ хужьыбзэр шылэ бжьамэ хуэдэ зожэ. - Сыт уи IэщIагъэ? – къызэупщIащ лIыжьыр. - СытхакIуэщ. - «СытхакIуэщ» жоIэ? - Ы. - НтIэ, уи псалъэр къамэ пэлъытэщ уэ. Къамэ Iэпщэр щыпIэщIэлъкIэ, куэд пхузэфIэкIынущ, цIыхум Iуэхутхьэбзэ яхуэпщIэфынущ: быущиифынущ, пэжыр ебгъэлъагъуфынущ, зебгъэцIыхужыфынущ. НэгъуэщIи пхузэфIэ- кIынущ: бгъэсэхъуфынущ цIыхур, я гур ипхыфынущ, зыр зым ебуштыфынущ, насыпми, цIыхугъэми, гурыфIыгъуэми, IэфIыгъэми пэIэщIэ пщIыфынущ. Ар пхузэфIэкIынущ, къамэ Iэпщэр пIэщIэлъмэ. ТхакIуэм и къамэращ жыхуэсIэр. Псори зэлъытар уи къамэр зэрыбгъабзэрщ... ЛIыжьым и псалъэм седаIуэурэ, уэрамым дрокIуэ. Сэлэт къэрэгъул, шыгу закъуэтIакъуэ дрохьэлIэ зэзэмызэ. Жьы хуабэ мащIэ къопщэ, пкъохэм фIэдза уэздыгъэхэм я нэхум уэрамыщхьэм тет унэхэр хэплъагъукI къудейщ. «Таксим» паркым дынэсащ. Зы цIыхуи къытIэщIэлъагъуэркъым. Паркым дихьэри нэхъ хуэм зытщIащ, лъагъуэ дытехьауэ дрокIуэ, лъагъуэм и бгъуитIымкIэ къыщхьэщыт жыг баринэшхуэхэр кIыфIым къыхоплъ, пщIащэр жьы мащIэм дощхъыщхъ. ТетIысхьэпIэ дынэсри, лIыжьыр къэувыIащ. - ДетIысэхынщ. Хадапхэм дынэсат. «Мы лIыжьым гъусэ сыщIищIар сыт?» - согупсыс. СымэжэлIащ, сешащ, жейр къыстеуэнкIэ сошынэ: емыкIу къэсхьакъэ, лIыжьыр псалъэурэ сэ сыIурихмэ. СемытIысэхамэ, арат нэхъ къыщIэсщтэр. ИтIани сыт сщIэнт: гъусэ сыщыхуэхъуакIэ седэIуэнщ. ДетIысэхащ. - НтIэ, тхакIуэ щIалэ,- жиIащ лIыжьым,- зыгуэркIэ сыноупщIынущи, жэуап къызэтыт: щхьэхуит дыхъуащ... сыт дяпэкIэ пщIэнур? СщIэнури?! СщIэнур къызолъэлъэхыж! Гуращэ Iэджэ сиIэщ, Iэджэм сыщIохъуэпс. Щхьэхуит ущыхъуакIэ, пщIэн бгъуэтынкъэ! - Хуитыныгъэм сытелэжьэнущ,- жысIащ сэ. - Дауэ? Хуитыныгъэм дауэ узэрытелэжьэнур? - Аращ сэри сымыщIэр - дауэ? - НэгъуэщI мурад уиIэкъэ? - Хьэуэ... ЛIыжьыр пыдыхьэшхыкIащ, и щхьэр игъэкIэрахъуэри. - Уи гум Iей зэримылъыр солъагъу. Уи гуращэр инщ, Iэджэм ущIохъуэпс, Iэджэм ухуопабгъэ. ПщIэнуращ умыщIэр. УщIалэщи, аращ щIумыщIэр. Уи закъуэкъым зымыщIэр. ЗыщIэ срихьэлIакъым - псори фызэщхыц. Фи щхьэ фIэкI, къыффIэIуэху щыIэкъым. Уи щхьэм фIы къехъулIэмэ, уи щхьэр хэпхмэ, лъэныкъуэ зебгъэзыжынущ. НэгъуэщIыр уигу къеуэнукъым. Сызахуэкъэ? - Узахуэкъым, тхьэмадэ. Акъылэгъу сыбдэхъуркъым. - Мылъкукъэ узыщIэхъуэпсыр? Жэуап естакъым. - ЩIыхьым ущIэкъуркъэ? Абыи естакъым жэуап. - Сытхъарэт жыпIэркъэ? Сызэрыщымщ. - Щыхубз дахэщ уи плъапIэр, сэрей зыкъизыхщ, уи щытхъуцIэ зэрыжебгъэIэнщ... Си бзэр иубыдами ярейщ: зы псалъи пэздзыжыфыркъым лIыжьым. СыжьакIуэ гуэр си гугъэжати: щхьэ сызэщIэна? ТетIысхьэпIэм сытриIулIауэ къысщохъу лIыжьым и псалъэм, си гущIэлъапсэм ноплъыс жыпIэнщ, си щхьэм сыт хуэдэ гуращэ илъмэ, илъагъу къысфIощI. Пэжщ лIыжьым жиIэр: а псом сыщIэхъуэпсырт. Щхьэхуит дыщыхъум, аракъэ сыщIэгуфIар: а псор зэзгъэхъулIэфынущ дяпэкIэ. Си къамэр - си къалэмырщ жыхуэсIэр - къиспхъуэтынщи, зэуапIэм сыIухьэнщ пщэдей. Зы къыспэрыуэфынукъым. Къыспэрыуэр хэзгъэщIэнщI Аракъэ хуитыныгъэ, конституцэ жыхуаIэр! Щхьэхуит сыщыхъуакIэ, си гур здэплъэм си лъэр нэзмыхусауэ къэгъази етIысэхи сиIэкъым - хэт сиубыдыфын! ЛIыжьыр къызэрызэгияр си гуапэ хъуакъым. - Хьэуэ,- жысIащ, - сэ апхуэдэ щхьэхуещагъэ схэлъкъым. - Зыумысыж! Сэ сыкъэбгъэпцIэфынукъым, щIалэфI. Ныжэбэ жэщым уи нэбдзыпэ зэтеплъхьакъым, пэжкъэ? Угъуэлъыжат, ауэ жейм уезэгъакъым. Унащхьэр къехуэхын къыпфIэщIащ, ущIипIытIэнкIэ ушынэри уэрамым укъыдэлъэдащ. Уи гущIэр къикъуэлъыкIырт. Умычэфми, уи акъыл зэтесми, чэф хуэдэ, делэ хуэдэ укIиящ: «ИугъащIэ хуитыныгъэм!» - жыпIэри. Уи лъыр игъэупщIыIуакъым абы, уи гур игъэтIысакъым. Аращ пкъом башкIэ ущIеуар... И макъи иIэтакъым лIыжьым, къызэгийуи гу зылъызигъэтакъым, си гум и лъыр илъагъу фIэкIи зэрыпщIэн щыIэтэкъым. Си гум и лъыр игъащIэм цIыхум хуэсIуэтакъым, мы лIыжьым дэнэ къыщищIа ар: си гуращэхэмрэ си гухэлъхэмрэ зырызыххэурэ къриджыкI къысфIэщIащ си гущIэлъапсэм. Псалъэ пэздзыжыфакъым, сыпэрыуэфакъым. Сыпэрыуэн е псалъэ пэздзыжын дэнэ къэна, сыщыщтащ, и пIэ ираубыда дыгъу нэхъей, си лъэр щIэхуащ, си бзэр иубыдащ. Пэздзыжын сиIэтэкъыми, лIыжьыр нэгъуэщI псалъэмакъ тесшэн ммурадм сщIыри, сеупщIащ: - Ухэт уэ, тхьэмадэ? - Илъэс пщIей зи ныбжь лIыжьщ! - Уи цIэр къызжепIамэ... - Си цIэр сыту пщIын? Си цIэракъым нэхъапэр. Нэхъапэр цIыхум я гум щыщIэмрэ я фэм дэгъуамрэ солъагъури, арщ. Уэрамым сыздыдэтым, гъащIэм и пэжыпIэр зымылъагъу щIалэ щIихьа срихьэлIати, сигу щIэгъуащ. Аращ гъусэ ущIэсщIар, мыбы нэси укъыщIэсшар. Дунейм хэпщIыкI щыIэкъым, щIалэ насыпыншэ, уэ. Укъаплъэнэфщ! - Ар дэнэ щыпщIэрэ? - Ар мыпэжтэмэ, ущIихьэнтэкъым, ухэзэрыхьынтэкъым. - Конституцэ диIэ хъуащ... Дыщхьэхуитщ... - Конституцэ! Конституцэ! Насып къыпхудэкIуэну а конституцэм? ЦIыху цIыкIур насыпыншэмэ, сыт къыпхуищIэжын уи щхьэ закъуэм къеуалIэ насыпым? Iуэхушхуэ Iэджэ и пщэ къыдэхуащ ди къэралым, хышхуэ хуэ- диз мэхъу ди къэралым и пащхьэ ит къалэнхэр. Нобэрей зэрызехьэмрэ Iэуэлъауэмрэ куэд якIунукъым - напIэзыпIэм ужьыхыжынущ. Ди бийхэм ди лъабжьэр къатIу щIадзэжынущ: хэт и гуапэ, дэ лъэщ, къулей, лъэрызехьэ дыхъумэ? Ди бийхэм яфIэфIкъым! Уи нэ фIыкIэ илъагъу: дяпэ илъэс зыщыплIкIэ къэрал зыбжанэ къыттеуауэ плъагъунщ... - Апхуэдэ зэманкъым дызыщыпсэур. Си фIэщ хъуркъым... - Плъагъумэ, уигу сыкъэгъэкIыж... Абы и ужькIэ дуней псор зауэм зэщIищтэнущ, псори дэ къыдэжэнущ, я дзэр къыдаутIыпщынурэ дызэрыхагуэным щIэкъунущ, яхузэфIэкIмэ, щIым щыщ дащIыжынущ, ди щхьэр игъащIэкIэ къэдмыIэтыжыфын папщIэ. Аращ дысакъын щIыхуейр. ТхакIуэхэращ, усакIуэхэращ, литераторхэращ сакъыныгъэм дыхуезыджэн хуейр... ЛIыжьым зыкъысхуригъэзэкIри и псалъэм пищащ, и псалъэ къэс си гущIэлъапсэм зэрыщетIысэхыр зыхэсщIэу: - Сэ бжэсIэм уи дзэр Iуиудынкъым, тхакIуэ щIалэ, къызэдаIуэ! ЛIыгъэ щIыпхэлъынур нобэ хуэдэ зы махуэщ! Уи щхьэракъым нэхъапэр. Щытхъу нэпцIым укIэлъымыжэ, псалъэ дыгъэлым зыдумыгъэшэх. ЦIыхубэр къызэрыбгъэушыным и ужь ит! Ди лъэпкъым и цIи и бзи ищIэжыркъым! Жей Iувым хэтурэ къэгъуэгурыкIуащ, къэушакъым иджыри къэс, псоми я ужь дыкъинащ. Ди бий щэхурыпхъуэхэм дафыщIащ, ди мылъкур зэхадыгъуэжащ, ди куцIыр щIафыкIащ, ди насыпыр тIэщIахащ, ныбжьэгъу зыкъытхуащIри. Езым и хэку щыпсэужми, ди лъэпкъыр гъэрыпIэм исщ, Iэпхлъэпхщ, мэжэщIалIэщ... ЩIэныгъэ ет уи лъэпкъым, фIыгъуэ зэрыхуэблэжьыным и ужь ит, гуращэ дахэхэм къыщIэгъэтаджэ!.. Пкъом башкIэ узэреуар слъэгъуащ. Сыт ар къызыхэпхар? Гухэхъуэмрэ гуфIэгъуэмрэ узэщIащтати, аращ! Ар дыдэмкIэ уетэн хуейщ уи лъэпкъым: и гур хэгъахъуэ, къызэщIэIэтэ!.. - Аращ сэри сигу илъыр. - Аракъым. ЩIыхь къызэрыблэжьынщ, уи щытхъуцIэ зэрыжебгъэIэнщ уэ узыпылъыр. ЩIыхьыр зищIысыр пщыгъупщэжа? ЩIыхьыр ныбжьым хуэдэщ: кIэлъыIэбэм бгъэдокIуэт, зи щIыб хуэзыгъазэм и ужь итщ... ПщIыхьэпIэм хуэдэщ. ЛIыжьым сыздедаIуэм, си гур нэхъ мэтIысыж, си акъылыр нэхъ бзыгъэ хъуауэ къысфIощI, сызэрыщIихьами сыхущIегъуэжауэ къысщохъу. Уегупсысмэ, захуэщ лIыжьыр: сыхэтт сэ иджыри къэс? Си щхьэ закъуэ-си лъакъуитIт, зыри къысхуэмыныкъуауэ... Дапщэ къэзгъэщIэнур? Илъэс хыщI, илъэс блыщI, илъэс бгъущI, хьэмэрэ илъэсищэ? Ар зыми ищIэркъым. ЦIыхубэр уахътыншэщ. Абы ухуэлажьэмэ, и гъурри и цIынэри зыхэпщIэмэ, и псэр зыгъэхыщIэмрэ и гум дэгъуамрэ плъагъумэ, уэри ухъунщ уахътыншэ. Ар къыпфIэмыIуэхурэ уи щхьэ и сэбэп фIэкI зумыхуэмэ, зыми ущьпцкъым, лъэпкъми ухуэфащэкъым, уи гъащIэри уи гуащIэри псыхэкIуадэ хъуащ, дунейм уехыжакIи зигу укъэкIыжын щыIэкъым... ЛIыжьым и псалъэм си гум гуфIэгъуэ хьэлэмэт гуэр кърилъхьауэ къысщыхъуащ абдеж сыздэщысым, пщэдджыжь салъкъыным си Iэпкълъэпкъыр дэпсынщIауэ къысфIэщIащ - жыг хадэм дисурэ нэху къыттещхьащ лIыжь телъыджэмрэ сэрэ. ЩIалэ ныбжьым итыжамэ, и гъащIэри и гуащIэри лъэпкъым щхьэузыхь зэрыхуищIынури къызжиIащ лIыжьым. Абы нэхъ насып щыIэкъым жиIащ - уи лъэпкъым фIыгъуэ хуэблэжьыным... ГъащIэ сиIэху, сигу ихужынкъым лIыжьым и псалъэ жаныр. ИкIагъэм, щхьэхуещагъэм, фэрыщIыгъэм теплъэ мыхъухэм ящыщ цIыху хъунт ар - абы шэч къытесхьэркъым ноби... Нэхущ хъуауэ, жейр къыстеуащ. Босфор адрыщIкIэ уафэ джабэр кIэху зэрыхъуам гу лъыстащ. ЗыкъэсIэтыжыфынутэкъым, жейр хуэм-хуэмурэ къызэбгъэрыкIуати. ЦIыху цIыкIур зыущиин бегъымбар уафэм къехауэ къызбгъэдэс къысфIэщIурэ, сыщыIурихари сщIэжыркъым... Сыкъыщыушыжам, уафэм вагъуэ исыжтэкъым. Жыгхэри жей Iувым къыхэкIыжа хуэдэщ, бзухэри жыгьицхьэм зырыз-тIурытIурэ къотIысхьэ. ЛIыжьыр щысыжтэкъым. Дыгъэр къыщIэмыкI щIыкIэ, уафэм дэкIуеижа нэхъей, лIыжьыр бзэхыжащ. Сыкъэтэджыжащ. Пщэдджыжь щIыIэтыIэм Iэпкълъэпкъыр къегъэпсынщIэ. Жыг хадэм сыкъикIыжри, уэрамым сыдыхьэжащ. Унэм сынэсыжа щхьэкIэ, жейм сезэгъыжакъым: иджыри къэс зыхэзмыщIа гурыщIэ хьэлэмэт къыспкърышэсауэ къысфIэщIащ пIэм сыздыхэлъым. ШЫТХЪУНЩI Шэщ бжэIупэр джэгупIэ тхуэхъуащи, пщэдджыжьым жьыуэ дыкъыщолъэтри дызэрохь. ШэщымкIэ псыIэрышэ блож, дзэлыгъуэм и жьауэм зыщIигъэпщкIуауэ. Ди унэр хъуэш жыгышхуэхэм къыхэщкъым – зыми дыкъилъагъунукъым, дэзэранми. Ди анэр Истамбыл кIуащ – къытпэрыуэн искъым ди унэ. Си къуэшым сэрэ - ар зы илъэскIэ нэхъыщIэт – ди шыгъашхэ лIыжьым, Дударыхъу, дыкъыкIэрыкIкъым. Шым пэтщI щыIэкъым тIуми: сыт и уасэ шыр псафэ пшэныр! Хьэсэн и закъуэ шэсын мэшынэ иджыри – аращ Дударыхъу шыплIэм щIыдигъэтIысхьар. Шыр псафэ къитшыжамэ, Iэнлъэм зэнтхъ идокIутэ, шхалъэм мэкъу дыгъэлыр дэз дощI, шэщыр къыдотхъу. Псом хуэдэж шыр птхъунщIыныр! Дударыхъу шытхъунщIыр къищтэрэ шым еувэлIамэ, сыщохьэ: - Сэ сыгъэтхъунщI шыр! Дударыхъу сеIэтри шым и тхыцIэм сытрегъэзагъэ, шытхъунщIри къысIэщIелъхьэ: - ТхъунщI. Уемыгуауэ закъуэ. ШытхъунщIыр Псэбыдэ и тхыцIэм дызолъэ. Шым и тхьэкIумэр зэблегъэплъ. - И кIэр игъэкIэрахъуэрэ Псэбыдэ? - соупщI Дударыхъу. - ЕгъэкIэрахъуэ. - Сеплъынти. ЗызогъэзэкI, арщхьэкIэ шым и кIэр слъагъукъым: шы тхыцIэм сыкъытещ къудейщ, шыкIэр дэнэ щыслъагъун! Аращ пщэдджыжь къэси: шэщым сынэсакъэ – лIыжьым сыщохьэ: - Шыр сэ сыгъэтхъунщI, дадэ! - ПхуэтхъунщIынкъым. - Сыт щIысхуэмытхъунщIынур? - Уи ныбжь нэсакъым. УцIыкIунитIэщ. - СхуэтхъунщIынущ! - Зэ укъытримыч. Нэхъ укъыдэкIуэтеймэ. - Дапщэщ сыкъыщыдэкIуэтеинур? Иужьрей упщIэм жэуап кърит хабзэтэкъым Дударыхъу. Шыр зэрыстхъунщIыр игу ирихь хъункъым лIыжьым: сыцIыкIунитIэ пэтми, гу лъыстэнтэкъэ абы! Шы ныбэгум сыщIэуэ къудейщ. Шыми ищIэ хъунщ сызэрыцIыкIунитIэр: щыстхъунщIкIэ, и тхьэкIумэр егъэкI, хопырхъыкI, зобэдзауэ, щыпхыукIи къохъу. Дударыхъу бзэ къызыхуимыгъуэтын щыIэ! Шым зыщихъунщIэкIэ, и тхыцIэм телъэщIыхьурэ трегъэуж, йодэхащIэ. Дахэр хозагъэ Псэбыдэ! Тоужри, шхалъэм йоувэлIэж… Шэщым си закъуэ сыкъыщIэнащ зэгуэрым. Хьэсэнрэ Дударыхъурэ псым кIуат. «Шыр стхъунщIынщ, - жысIащ, - ахэр къэсыжыхукIэ». ШытхъунщIым солъыхъуэри згъуэткъым. Шэщым пыхукIауэ, къуэдзапIэ иIэт Дударыхъу. Абы сыщIэхьащ. Шы Iэпслъэпсхэм сахэплъащ – шытхъунщIыр яхэзгъуэтакъым. Дэнэ щигъэпщкIуар? ПлIанэпэм дэт пхъэ гъуэлъыпIэм и щIагъым пхъуантэ удзыфэ цIыкIу щIэслъэгъуащ. Сигу щхьэ къэмыкIарэ алъандэм! ШытхъунщIыр пхъуантэ удзыфэм дэлъщ, дауи. Пхъуантэр гъуэлъыпIэ щIагъым къыщIэслъэфри зэтесхащ – дэлъщ! ШытхъунщI щIэрыпсщ, ди анэм Истамбыл къыхуригъэхащ. ШытхъунщIыр къэспхъуатэри, Псэбыдэ сыбгъэдэлъэдащ. Сызыбгъэдигъэхьакъым! Елъэкъуэуащ, зриIуэнтIыхьащ. «И щIыфэр згъэуз хъунщ», - жысIащ сигукIэ. ШытхъунщIым и дзэм сеплъащ: жаныбзэт, цыпхыдзэ хуэдэ! ШытхъунщIыр мэлыд, дыжьыным къыхэщIыкIа фIэкI пщIэнукъым. «И дзэр Iузгуэнщ», - жысIэри, шытхъунщIыр мывэ блыным щысхъуащ. «Дзагуэ хъуащ иджы», - жысIэри, шым сахэхьащ. Зым сызыбгъэдигъэхьакъым! Зыкъысхуагъэгуса фIэкI пщIэнукъым: зрагъэзэкIри мэпырхъ, я тхьэкIумэ зэблагъэплъ. ШытхъунщIыращ зи лажьэр! Сыхурикъункъэ шытхъунщIым! Шэщым ибгъукIэ мывэ хьэкхъуафэ щылът. Хьэкхъуафэм ислъхьащ шытхъунщIыр, супIэщIыху сыкIэрыкIакъым. СупIэщIри, хьэкхъуафэм издзэжащ шытхъунщIыр. ЛэжьакIуэ щыкIуэкIэ, шэщым ныщIэплъэ и хабзэт ди адэм. А пщэдджыжьми ныщIэплъащ. Си закъуэт шэщым щIэтыр – Хьэсэн къысхуэгъэушакъым а пщэдджыжьым. Хьэкхъуафэм илъ шытхъунщIым гу лъитащ ди адэм. Шыгъашхэм еджащ: - Дударыхъу, мыдэ къакIуэт. Си псэр IукIынтэкъэ – си щхьэфэцым зрисащ. ЛIыжьым шытхъунщIыр зэпеплъыхь, и дамэр дрегъэуей – зыри къыгурыIуэкъым. - Хэт зыкъутар? - Дэнэ щысщIэн? – жиIащ лIыжьым. – ГъуэлъыпIэ щIагъым щIэт пхъуантэм дэлъащ. Ди адэр къызжьэхэплъащ. И жьэр зэщIезгъэхакъым – япэ зыкъизгъэщащ: - Хьэсэнщ, - жысIащ, си щхьэр щIэзгуауэ. - Хьэсэни? - Ы? Дударыхъу и къуэдзапIэм дыгъуасэ щIэхьэри щытхъунщIыр пхъуантэм къыдихащ, хьэкхъуафэм ирилъхьэри иупIэщIащ. - Дударыхъу щхьэ жумыIарэ, ар щыплъагъум? - Жейти, къэзгъэушакъым. - Къеджэт мыдэ а зи Iэпэлъапэ шхэр! ПщIантIэм сыдэлъэдэжри, Хьэсэн седжащ. Си ужь ниувэри, шэщым нэжащ Хьэсэн: ди адэр къыщIеджар дэнэ щищIэнт! ЦIыху ткIийт ди адэр, къоплъамэ, уи пIэм уиткIухьт. - ПцIы быупсмэ, узукIынщ! – зыбгъэдишащ Хьэсэн. - Сыупсынкъым. - ШытхъунщIыр щIэпкъутар къызжеIэ-тIэ. ЛIыжьым IэщIэлъ шытхъунщIым еплъащ Хьэсэн, ди адэм хуеплъэкIыжри и щхьэр ищIащ: - Сэракъым зыкъутар. - ПцIы умыупс бжесIатэкъэ! - Скъутакъым. - Пэжыр къызжепIэмэ, уи гугъу сщIынкъым. ПцIы уупсыным нэхъ Iей зэрыщымыIэр зэгъащIэ! И псалъэм текIакъым Хьэсэн: - Сэракъым шытхъунщIыр зыкъутар. Зыкъутар сщIэкъым. Ди адэр тэмакъкIэщI къэхъуащ: - Тхьэр нахуэу уогъэпцI! – Ар жери си шынэхъыщIэм и нэкIур щIихулыкIащ. – Дударыхъу, шэщым афIэкIа щIумыгъэхьэ мыр. Унэм щIрырес! ЛIыжьым си шынэхъыщIэр къищтэри унэм ихьыжащ, зэщыджэу гъыуэ. Хьэсэн шэщым нагъэкIуэжакъым абы и ужькIэ: унэм щIаубыдащи, дунейм къытрагъэхьэкъым. Ди адэм и закъуэ: ди анэм и жьэри кIэригъэкIкъым Хьэсэн: «УпцIыупсщ!» - жери. И напэ зэрыщIахулыкIар игу техуэнт Хьэсэнт: къыхохъыжьэри зэщыджэу магъ – щIэх яхутегъэужкъым, едэхащIэ щхьэкIэ. Ди анэм и пщIыхьэпIэи къыхэхуэкъым Хьэсэн пцIы теслъхьауэ. Шы теувэу шытхъунщIыр икъутауэ шэч щащIаи щыIэщ. Шы теувэкIэ шытхъунщIыр хуэупIэщIын? Сэри зызумысыжкъым, си шынэхъыщIэращ зытралъхьэр. КъыкIэлъыкIуэ гъэм и гъэмахуэм ди анэр Истамбыл кIуащ аргуэру. Ди закъуэ дыкъэнащ. Хьэсэн шэщым кIуэн хуадэтэкъым иджыри. Жэщ хъурэ дыгъуэлъыжамэ, Хьэсэн къызоупщI: шыр псафэ пша ноби, шыщIэхэр ин хъуа, Псэбыдэ зихъунщIэрэ щыптхъунщIкIэ? Си шынэхъыщIэр сымаджэ хъуащ. Къалэм къикIа дохутырым, Хьэсэн еплъри, жиIащ: - Гъуэжь узщ. Унэм исхэр зэхэзежэ хъуащ. Ныбгъуэ яукIри, лы цIынэр Хьэсэн и тэмакъым тралъхьэ. Ди адэр Хьэсэн къыбгъэдэкIкъым, и пIэ лъапэм тесщ. Дударыхъу нэщхъей зэпытщ, псэлъэжкъым. Ди унэIут цIыхубзыр магъ, щIичэкъым. - Щхьэ угърэ? – сеупщIащ унэIут цIыхубзым. - Уи къуэшыр сымаджэ хьэлъэщ. - Хъужынкъэ? – жызоIэ. - Хьэуэ, хъужынукъым. - Сыт къэхъунур-тIэ? - Уи къуэш цIыкIур лIэнущ. - ЛIэнущ жыпIа? – сэри согъ, сыкъыщиудауэ. Хьэсэн зэрысымаджэм щхьэкIэ, ди унэIут цIыхубзыр щыжей пэшым сыщагъэгъуэлъат сэ. Жэщ хъурэ сыгъуэлъыжамэ, Хьэсэн си нэгу щIэкIкъым. Гъыуэ къызбгъэдэт хуэдэщ: «ПцIыупс! ПцIыупс!» Зы жэщ ди унэIут цIыхубзыр къэзгъэушащ: - Хьэсэн деж сыкIуэнущ. - Сыт щхьэкIэ? – игъэщIэгъуащ абы. - Ди адэм зыгуэр жесIэн хуейщ. - Сыт жепIэнур? - ШытхъунщIыр сэ зэрыскъутар жесIэнущ. - Сыт шытхъунщI? - Нэгъабэ пщIэжкъэ? Хьэсэнщ зытралъхьар. Ди адэр ешхыдащ… АфIэкI схужыIэжакъым: сыкъыщиудауэ согъ, пIэкум сисщи. Зэрыхъуар жесIащ ди унэIут цIыхубзым. Зызумысыжмэ, ди адэм и фIэщ хъункъэ? Хьэсэн лажьэ иIэкъым – ар жесIэнщ ди адэм. Сэращ зи лажьэр. - Нэху щымэ жепIэнщ. Жэщыбг хъуа къудейщ. - Хьэуэ, иджыпсту сыкIуэнущ! - Уи адэр мэжей иджыпсту. Къыумыгъэуш. Пщэдджыжь жепIэнщ. - Хъунщ-тIэ. Си нэбдзыпэ къехакъым а жэщым. Нэхулъэ къищIа къудейуэ, унэIут цIыхубзыр къэзгъэушащ. Зызумысыжынущи, сыкъытреч. Зызумысыжмэ, си плIэм дэлъ хьэлъэр дэхужынущ. БжэIупэм Дударыхъурэ къуажэ ефэндымрэ дащрихьэлIащ – тIуми я нэпсыр къыщIож. Си шынэхъыщIэ цIыкIум и псэр хэкIащ а жэщым. ФЭЛЭКЪЭ Пщэдджыжь къэс, дыкъакъэ-дыпщIыпщIу, джэдкъурт бын хуэдэ, мэжджытым дыбложри, бэзэрри къызэдонэкI. Мыдрисэр бэзэрым адкIэIуэщ. Сэрей лъагъуэкIэ къэщIыхьа пщIантIэ Iэхуитлъэхуитым дэт унэр хъуэш жыг домбейхэм къаувыхьащ. ПщIантIэм дызэрыдэхьэххэу, къыдощIэ ди Iустазыр, Хъуэжэ-ефэнды, къэсарэ къэмысарэ. - Абдурэхьман-чэлэбий дяпэ къища? - Къищащ! Къищащ!.. Абдурэхьман-чэлэбийкIэ дызэджэр ди Iустазым и шыд пэхуращ. Нэхъ псэущхьэ угъурсыз уигъэлъыхъуэнщ. Нэхъ ерыщ! Зы пщэдджыжьи дигъэкIкъым и лъэр мыдрисэ бжэIупэм къимыхусауэ. Пщыхьэщхьэ пщIонди дэкIыжынукъым мыдрисэ пщIантIэм. Мэкъу чэзу-чэзууэ къыхудохь шыдым, мэкъум хошхыхьри пщIантIэм дэтщ махуэр зи кIыхьагъым. Хъуэжэ-ефэнды и нэфI къыпщыхуамэ, шыдыр уигъэгъэпскIынущ, утригъэлъэщIыхьынущ – и гурыфI къыщикIым деж. Мыдрисэм ущIэхьамэ, япэ гу зылъыптэр Хъуэжэ-ефэнды и тахътэрщ: тахътэм зрегъэщIеикIри къытхоплъэ, и нэр къыттриубыдауэ. Iустазым и щIыбкIэ блыным фэлэкъэ фIэлъщ. Пасэрей топыжь цIыкIу фIэкI пщIэнукъым фэлэкъэр. Мыдрисэм щIэсыр щIалэ цIыкIу плIыщI дохъу. Хъыджэбз цIыкIухэр мазищ-плIы и пэкIэ тхашыжри нэгъуэщI мыдрисэ щIагъэтIысхьащ. Алыфбиймрэ КъурIэнымрэ гукIэ зыдогъащIэ, дызэдежьууэ зэчыр жыдоIэ, есэп дощI. Махуэ къэси аращ – абы дыфIэкIкъым: гурыхуэм и гум иреубыдэ, гунэфыр хэкIыжащ… Ди Iустазыр лIыжь гъур кIыхьщ, и жьакIэр тхъуауэ. И Iэщхьэ дэхьеярэ гъуэншэдж лъапэр дэгъэджэрэзеяуэ, гъэми щIыми исщ и тахътэм – андез ищтэн фIэкI пщIэнукъым. Ди Iустазым къуэдзэ иIэт – къалфэ; къалфэр шэджагъуэ нэужьым мэжджытым пхъэнкIакIуэ макIуэ, мэжджытым кIуамэ, а махуэм мыдрисэм къигъэзэжкъым. Мэжджытыр ипхъэнкI къудейкъым къалфэм, азэни маджэ, нэмэз щIыгъуэ хъуамэ. Мыдрисэм ныщыкIуэкIэ IэфIыкIэ, джэш гъэлыгъуа, зэ, дэ цIыкIу ныздехьри къыдещэ – абы иросондэджэр къалфэр. Генин дыкъэIэпхъуа нэужьщ Хъуэжэ-ефэнды и мыдрисэм сыщыщIэтIысхьар. СыщIэтIысхьа щхьэкIэ, хэзгъэхъуар мащIэщ. ЩIалэ цIыкIу къомым зэчыр къыхадзэмэ, садожьу, гукIэ зэгъэщIапхъэр зызогъащIэ – абы фIэдгъэкIкъым. Фэлэкъэращ си нэр зытемыкIыр – ди Iустазым и щIыбкIэ блыным фIэлъ фэлэкъэр! ХеящIэр и гъусэу, зы лIы къуапцIэ нэщхъыдзэ къытхуэкIуащ зэгуэрым. - Тетыр къэкIуащ! – зэщIэващ щIалэ цIыкIухэр. ФэрэкI напэт, Iуплъэгъуейт тетыр, Къэймэкъам-бейкIэ зэджэр. Ныщытхэхьэм, псори дыкъыщылъэтащ, ди псэр IукIауэ. Iустазми зыкърисащ. Къэймэкъам-бей, Iэ ищIри, дигъэтIысыжащ. Къытхэплъэри, ди щIэныгъэр здынэсар зригъэщIэн щхьэкIэ, зы къигъэтэджащ, къеупщIащ. ЗэупщIам жэуап хуэтакъым. Хуэтынутэкъым: дэ дызэресар дызэдежьууэт. Ди хьэщIэм и нэгур зэхэуащ, къытхэплъэри и щхьэр игъэкIэрэхъуащ. Блыным фIэлъ фэлэкъэм хуеплъэкIащ итIанэ. И щыпэлъагъу хуэдэ, куэдрэ зэпиплъыхьащ фэлэкъэр. Фэлэкъэр зэпиплъыхьри, зыкъригъэзэкIыжащ, сэлами къыдихыжакъым. Бжэм нэсыжауэ Iустазым къеджащ: - Сыпхуейт, - жери. И IитIыр и бгъэм щызэридзэри, Хъуэжэ-ефэнды къэймакъымымрэ хеящIэмрэ якIэлъыущащ. КъыжраIар дэ дэнэ щытщIэнт, ауэ къыкIэлъыкIуэ махуэм фэлэкъэр блыным фIэлъыжакъым. Блыным фIезыгъэхар къэймэкъамырауэ зэхэтхыжащ. Фэлэкъэр блыным фIахыжа нэужь, щIалэ цIыкIу плIыщIыр дыкъызэрыкIащ, хьэщхьэрыIуэ дыхъуа хуэдэ! ЗэхэдмыщIыхьа къэдгъэнэжакъым – дызыщышынэн щыIэжтэкъым. Ди Iустазыр къиддзэжыххэкъым. Джэш хьэдзэ идоутIыпщ, и тахътэм мастэпэбдз хыдоIу, и вакъэр фIыдогъэпщкIури табу щхьэщэщкIэ къыдэмылъэIуауэ, дымыгъэтхьэджауэ еттыжкъым. ТегушхуэгъуафIэ щIэтщIар къыгурыIуэнтэкъэ Хъуэжэ-ефэнды: фэлэкъэр къызыкъуихыжащ. Блыным фIидзэжакъым – тахътэ щIагъым щIилъхьащ. Зэран къытхэкIмэ, къуэды къыттрилъхьэ хъужащ, фэлэкъэр къызыкъуихыжа нэужь. Нэхъри ерыщ декIуащ, дызэрыгъэIущащи, тхузэфIэкI къэдгъанэкъым. Зэгуэрым, дызэрызэгурыIуати, Хъуэжэ-ефэнды ди пащхьэ къызэритIысхьэххэу, дыхущхьэу щIэддзащ. Дэ къомыр дыщыхущхьэм, Iустазми хуэшэчыжакъым: абыи хущхьэр къыщыхэхъыжьэм, и пэртэбакъыр къыкIэщIэдгъэкIуэсыкIащ, и пащхьэм илъти. Пэртэбакъыр къыкIэщIэдгъэкIуэсыкIри, тутын сабэр ди пэм идудащ. ДызэхэтIысхьэжауэ дыкъопс щIалэ цIыкIу къомыр, мыдрисэр догъэпсалъэ! Хъуэжэ-ефэнды, хущхьэн пичри, къытщIэкIиящ: - Си пэртэбакъыр хэт къэзыщтар?! - ТщIэкъым, тлъэгъуакъым! – дызэрыгъэкIиящ щIалэ цIыкIухэр. - Фи фэр исхынщ! Фэлэкъэр къызэрысхьыжар фщIэкъэ? - ТщIэкъым! - Зывумысыжыркъым-тIэ? - Тлъэгъуакъым! ТщIэкъым! - Флъэгъуакъым? ФщIэкъым?.. Хъункъэ! Наджиб, мэжджытым жэи, къалфэр къэшэж! ПсынщIэу! Къалфэр къэсыжащ. Уаубэрэжьынумэ, къеблагъэ! Зырыз-тIурытIурэ дыкъыдалъэфри дыкIуэцIащыхь, ди лъэгум башкIэ къыщIоуэ. Фэлэкъэри къагъэIэгъуащ. Хущхьэмрэ къепсымрэ теплъэ хъужакъым Хъуэжэ-ефэнды а махуэм щыщIэдзауэ. Игу темыхуапэр къепсырат! Тщыщ гуэр къепсакъэ – Iустазым и нэм лъы къытолъадэ, IэлфIыцIэ мэхъу! - Ауан сыкъэфщIрэ?! Фыкъысщыдэхьэшхрэ?! – къолъ Хъуэжэ-ефэнды, къепсар делъэфри кIуэцIещыхь. Абы нэхъей, пыхусыху сымыхъуаи! Упыхусыхумэ, пхуэшэчын? Ухуей-ухуэмейми, укъепсынщ. Хущхьэри абы къысхухэхьэжащ. Хъуэжэ-ефэнды и зей башыр зэкъым-тIэукъым къызэрыстехуар, пыхусыхур спкърыкIыжыху. Iустазым и нэр кърегъэжри къытхокIие: - Къепсыр сIэщIэкIуэдэнкIэ си тобэщ! Зыдоущэхуж, ди псэр IукIауэ. Ари сыт: тхьэлъанэ? Ди анэм сеупщIащ абыкIэ. Ди анэм нэхъри сигъэшынащ: - Тхьэлъанэщ! Тхьэлъанэми къыщынэкъым! - Тхьэлъанэ пщIырэ бгъэпцIыжмэ, уаукIрэ? - Хьэуэ. - Сыт-тIэ къуащIэр? - Нэхъеиж къуащIэ. - Сыт нэхъеижыр? - Уи фызыр йокIыж… КъызгурыIуакъым. ИтIани щIалэ цIыкIухэм яжесIащ тхьэлъанэ пщIырэ бгъэпцIыжмэ, къыпщыщIынур… А псалъэр къыджьэдэнащ абы и ужькIэ: «Си тобэщ!» Ди псалъэм етIуанэ хъуащ ар: «Си тобэщ!» - щичэзуи щимычэзуи къыщыхэдмыIу щыIэкъым. Хъуэжэ-ефэнды пщэдджыжь къэс ди пащхьэ къотIысхьэри къыджьэхоплъэ: - Къепсыр сIэщIэкIуэдэнкIэ си тобэщ! КъызжиIакъым жывмыIэж! Зэгуэрым, шэджагъуашхэ дышхэри, мыдрисэм дгъэзэжауэ, Хъуэжэ-ефэнды ди пащхьэ къитIысхьэжри къэщхьэукъуащ. ЩIалэ цIыкIухэм нащхьэ яхуэсщIри сыкъэтэджащ, лъапэпцIийуэ Iустазым сыбгъэдэхьэри и пащхьэ илъ пэртэбакъым къэспхъуэтащ, си тIысыпIэм згъэзэжри пэртэбакъым дэлъ тутыныр си тхылъым дэскIутащ. Тхылъыр зэгуэспIэжри пэртэбакъ нэщIыр Iустазым и пащхьэ ислъхьэжащ. Хъуэжэ-ефэнды мэщхьэукъуэ, и щхьэр къыфIэхуауэ. ЩIалэ цIыкIухэр къызэжащ, тутын сабэр я пэм ираудэн мурад ящIауэ. - Хьэуэ, - яхуэздакъым. – Тутын сабэр ди пэм идудэмэ, дыкъепсынущ. Дыкъепсмэ, Хъуэжэ-ефэнды къэушынщ. - Сыт-тIэ уигу иплъхьар? - Флъагъунщ. - Сыт тлъагъунур? - Ныбафэуз фызэтехъуэнщ, флъагъумэ. Сигу ислъхьар сэр дыдэми сфIэдэхьэшхэныжти, сыкъыщитхъащ. ЩIалэ цIыкIухэри къыщиудауэ зэкIуэцIоч. Iэуэлъауэ дыщызэрыгъэхъум, Хъуэжэ-ефэнды къэушащ. Къэушри, пэртэбакъым еплъащ. Пэртэбакъыр нэщIт. ЛIыжьыр зэщIэкIэзызащ. - Хэт тутыныр къэзыщтар? Зывымусыж! – мэкIий Iустазыр, и нэр къыщихуауэ. – ФысIэщIэкIуэдэнкIэ си тобэщ! ЩIалэ цIыкIухэр дызэплъыжащ: - ДымылъэгъуакIэ ди тобэщ! - Хэт къэзыщтар? - ТщIэкъым! Тлъэгъуакъым! - Щхьэ фыпIащIэрэ! Сэ фэ фхуэфI сыхъунщ! Япэ къепсыращ си тутыныр къэзыщтар! Си тобэщ, аракIэ! Фи фэр исхынщ! Фэлэкъэм фыщыщтэкъэ?! Фэлэкъэм щынэсым, ди псэр IукIащ. «Дыунэхъуакъэ, дыкъепсмэ!» - аращ дызэгупсысыр. - Си тобэщ! Япэ къепсым и цыр хуэсщынкIэ! СIэщIэкIуэдэнщ! КъызжиIакъым жывмыIэж! Си тобэщ! Зыдудыгъуащи, дыбэуэн дошынэ. Хъуэжэ-ефэнды нэхъри къызэрыкIащ, узыIуригъэлъэдэн хьэзырщ. - Зыгуэр къырырепси, иреплъыт – сIэщIэкIуэдэнкIэ си тобэщ! Си тхылъым напитI къыдэсчри сэмб сщIащ, сэмбитIми тутын искIутащ. ПщыхьэщхьэхуегъэзэкI хъуащ. Хъуэжэ-ефэнды и Iэщхьэр кърихьэхыжащ, и лъэпэдыр лъитIэгъэжащ, и цейри зытриубгъуэжащ. Зэчыр къыхэддзащ мыдрисэм дыкъыщIэкIыжын и пэкIэ. Къызбгъэдэсым сыкIэщIэуIуэри, сыкъэтэджыжащ. Къызбгъэдэсри къэтэджащ. ЗыдгъэпсчэуIуащ. - Сыт фызыхуейр? – къыджьэхэлъащ Хъуэжэ-ефэнды. - Уи шыдым уанэ пхутетлъхьэжын? Нахъутэри пщIэхэтлъхьэжынщ. - Хъунщ, фыкIуэ! Мыдрисэм дыкъыщIэжащ. Хъуэжэ-ефэнды и шыдым уанэ хутетлъхьэж ди хабзэт щежьэжынум деж – япэ зидгъэщырти. Мэкъум хэшхыхьри жыг жьауэм зыщIигъэзэгъауэ щIэст Абдурэхьман-чэлэбий. Шыдыр къыщытхури, уанэр тетлъхьэжащ, нахъутэри пщIэхэтлъхьэжащ. ТхылъымпIэ сэмбитIым я зыр шыдым и тхьэкIумэм изубыдэри сепщащ. Сэ жанкIэ къыкIэщIэпыджа нэхъей, шыдым зритIащ, етхэуащ. Нахъутэр зэдэдубыдри, шыдыр мыдрисэ бжэIупэм Iутлъэфащ. Йотхауэ, зретIэ-зресэ, адэ-мыдэкIэ зыщIедз, кIуапIэ етткъым армыхъу. Хъуэжэ-ефэнды бжэм къиуващ, щIалэ цIыкIухэр и ужь ищIауэ. Шыдыр кIэбдз лъакъуэкIэ уващ. - Сыт абы къыщыщIар? – къыгурыIуакъым Iустазым. - ТщIэкъым, - жытIащ. – Жейбащхъуэ хъунщ: иджыпстущ къыщыдгъэушар. - Уанэр тэмэму тефлъхьа хъункъым. - Тетлъхьа хуэдэщ. КъыщыщIар тщIэкъым… ЩIалэ цIыкIухэм я пщэр хаш, я дамэр драгъэуей. - Мыдэ къызбгъэждэфшэт. Шыдыр мыдрисэ бжэщхьэIум еслъэфэлIащ. БжэщхьэIум щеслъэфалIэм, «цIытх!» жери къепсащ шыдыр. ЩIалэ цIыкIухэр къыщитхъащ. Хъуэжэ-ефэнды и нэр къихуащ. Шыдым щIичэкъым: тутыныр и пэмрэ и тхьэкIумэмрэ ирихьащи, къопс цIыху нэхъей! Зыри къызгурымыIуафэ зытезгъэуауэ, шыдым соплъри сыщытщ, си нэр согъэупIэрапIэри. - Къыпщыдэхьэшхрэ жызоIэ шыдыр, зиусхьэн? - Сыт къэбвыр? Нэхъри сыкъызэрыкIащ: - Шыдым и щIыфэр машхэ: фэлэкъэр хуэфащэщ… - Шыд жыпIэми, псэущхьэщ… - жьэр иущIащ Хъуэжэ-ефэнды. ЩIалэ цIыкIухэри къыздежьууащ: - Хуэфащэщ! Хуэфэщэпсщ фэлэкъэр! И щIыфэр машхэ! Абы нэхъри сытригъэгушхуащ: - Тхьэ пIуакъэ, зиусхьэн? Япэ къепсыр бубэрэжьыну жыпIакъэ? «Си тобэщ!» жыпIакъэ? Тхьэ пIуэрэ бгъэпцIыжмэ, къыпщыщIыр пщIэрэ? - Сыт? – и нэр къригъэжащ Хъуэжэ-ефэнды. - Уи фызыр икIыжынущ! ЩIалэ цIыкIухэр къыздежьууащ аргуэру: - Уи фызыр икIыжынущ! Уи фызыр икIыжынущ! Хъуэжэ-ефэнды и жьэр Iурыхуащ. И шыдым щышэсыжкIэ Iэ дилъэ и хабзэт Хъуэжэ-ефэнды: «Си нэхунэ, си псэр зышхын!» - жиIэурэ едэхащIэт. Иджыпсту зыIуригъэлъэдэнт и шыдыжьыр, апхуэдизкIэ хузэгуэпати. Зы щIалэ цIыкIу, мыдрисэм щIэлъэдэжри, фэлэкъэмрэ зей башымрэ къыщIилъэфащ. Шыд тхьэмыщкIэр къепс зэпытщ, и пэр щIым щехъуэ, йолъэкъуауэ. Фэлэкъэмрэ зей башымрэ Хъуэжэ-ефэнды и пащхьэ иралъхьащ. ДызэрогъэкIий: - Уи фызыр икIыжынущ! Уи фызыр икIыжынущ! Тхьэ пIуамэ, уи псалъэм уепцIыж хъунукъым! Псывэ къракIыха хуэдэ, и жьэр Iурыхуауэ, бжэщхьэIум ттщ Хъуэжэ-ефэнды, зэ и шыдым йоплъ, зэ дэ къытхоплъэ. - Ивуд! – жиIащ иужьым. Абдурэхьман-чэлэбий зеддзащ, дежэри идудащ, зыкъомрэ деныкъуэкъуа нэужь. И кIэбдз лъакъуитIыр фэлэкъэм етпхащ. Зей башыр къищтэри, Хъуэжэ-ефэнды шыдым щхьэщыуващи, и къару къызэрихькIэ и лъэгум щIоуэ. КIыщым сыдж макъ къыщIэIукI фIэкI пщIэнтэкъым, зэхэпхамэ! ЩIалэ цIыкIухэм зыдолIэж, дызэрогъэкIий, ныбафэуз дызэтехъуащ. Зыгуэр кIиящ: - Къэймэкъамыр къэсащ! Зыдущэхужри, куэбжэмкIэ дыплъащ. Къэймэкъамымрэ хьэтхауитIымрэ пщIантIэм къыдыхьэрт. Къэймэкъамым и нэщхъыр зэхэлъщ, узыIуригъэлъэдэн хьэзырщ. - Сыт мыбы къыщыхъуар, Хъуэжэ-ефэнды? – къыдбгъэдыхьащ къэймэкъамыр. ХьэтхауитIри къыдбгъэдэкIуэтащ. Хъуэжэ-ефэнды, плъыжь хъури, зей башыр Iэпыхуащ. Шыдыр къыщылъэтыжащ, и кIэбдз лъакъуэм фэлэкъэр зэрыкIэрыщIауэ. Къыщылъэтыжри, гъуахъуэу хъуэш жыгхэмкIэ зидзащ. Къэймэкъамым и нэщхъыр нэхъри зэхиукIащ. - Сытщ, жыфIа, къэхъуар? - Сэ… Зиусхьэн… Хъуэжэ-ефэнды и бзэр иубыдащ. - Къэхъуар сыт жызоIэ?! - Тхьэ сIуат… - КъызгурыIуэкъым. - Къепсым… - Сыт зи гугъу пщIыр? - Шыдыр къепсащ… - Шыдри?.. Къепсауи?.. Щым дыхъуащ псори. Заул дэкIри дыкъыщиудыжащ. Къепси къытхэтщ. Ар игу техуэнт къэймэкъамым: и лъыр къэва хъунщ. И дзэлыфэр тришри къытщIэкIиящ: - Фи хьэм бажэ къиубыда?! Зыдущэхужащ, ди псэр IукIри. Къэймэкъамым Хъуэжэ-ефэнды зыхуригъэзэкIыжащ. Хъуэжэ-ефэнды и пIэм ижыхьащ, и фэр пыкIащ. - НакIуэ, си ужь ниуви! Къэймэкъамыр пщIантIэм дэкIыжащ, хьэтхауитIым яку дэувэжри. Хъуэжэ-ефэндыи якIэлъыущыща, и лъэр щIэкIэзызэу… …Зыгуэр къепсауэ зэхэсхамэ, ноби си нэгу къыщIохьэж си зэранкIэ мыдрисэм Iуахуа Хъуэжэ-ефэнды. Емынэм сызэрихуэрэт, щхьэ щIэзмычарэ? ЛIыжьым лей есхащ – Тхьэм къысхуигъэгъу. Сэр мыхъуамэ, и IэнатIэр фIэмыкIуэдынкIи хъунт Хъуэжэ-ефэнды. Ар си гукъеуэщ нобэр къыздэсым. Джэгурэ пэт, нэ къраху жыхуаIэращ… Фэлэкъэм текIуэдэжащ тхьэмыщкIэр. ЛъыкIэ узэкъуэшмэ Хъарпшэрущ Генин къалэ цIыкIур си нэгу къызэрыщIэхьэжыр – илъэс тIощIым щIигъуащ сызэрыдэмыхьэжрэ. Си нэгу зэгуэр щIэкIа пщIыхьым хуэдэщ. Си нэгу къыщIохьэж бэзэрым ибгъукIэ щыта мэжджытыр – абыкIэ куэдрэ дыблэкIащ си адэмрэ сэрэ. Мэжджыт пщIантIэм дэта псыутхри сощIэж, мэжджытым блэж псы цIыкIури къыщIохьэж си нэгу. Пхъэ къуэщIийрэ пхъафэрэ кърихьэх зэпытт псы цIыкIум. Хьэмэмри къэкIыжынкъэ уигу – сыкIуэрейуэ щытащ хьэмэмым, зыпэсщI щыIэтэкъым. Си нэгу къыщIэзгъэхьыжыфынут а псор: гъатхэ пшагъуэ гуэрэным сфIыщIеуфэри, аращ къызэхьэлъэкIыр. Укъыщыхъуа жылэм пэпщIын щыIэ! Апхуэдиз дэкIауэ тебгъэзэжамэ, мащIэ уигу къэкIыжынур! Пшагъуэм щIеуфэ пщыхьэщхьэ къэс, мэл, хыв, жэм хъушэхэм яуфэбгъу гъуэгу сабалъэр, жыглыц зыкIэрищIа кхъуэщын унащхьэхэр, гъуни нэзи зимыIэ губгъуэр, сэрей кхъахэхэр, пхъэ закъуэ лъэмыжхэр, бжыхь лъагъуэхэр… Къэзгубзыгъыж къудейщ а псор, хъарпшэрщ. Нэхъ сщIэжыр ди унэмрэ мыдрисэмрэщ. Хадэшхуэ диIащ. Хадэм унэ Iэхуитлъэхуит хэтт. Ди анэм пщэдджыжькIэ щхьэгъубжащхьэм сытригъэтIысхьэти, сигъэджэгут. Щхьэгъубжэм удэплъмэ, гуэщыжьым уIуплъэт. Сытым къыхэсхами, гуэщым сыщыщтэ зэпытащ. Мыщэ щIэс къысфIэщIт гуэщым. КъыщIысфIэщIыр ди унэIутым, Хьэбилэ, пщыхьэщхьэ къэс мыщэ гугъу къызэрысхуищIрагъэнт: мыщэжьхэм я таурыхъ мащIэ сригъэдэIуа Хьэбилэ! Хьэбилэ икIи тхуэжыIэщIэт, шыми Iус яритти, ди щакIуэхьэхэри игъашхэт. Хьэбилэ и таурыхъхэр ди анэм хуэсIуэтэжынтэкъэ – нэхъри згъэщIэрэщIауэ, Iэджэ щIызгъужауэ! ПщIыхьэпIэ слъэгъуауэ жесIэт ди анэм: мыщэжь гуэрым сипхъуатэри бгым срихьа хуэдэу, и гъуэм срилъафэри си пи си тхьэкIуми тричауэ, итIанэ псы щхьэлым и шэрхъ лъабжьэм сыщIидзэжауэ.. Iэджэ зэзгъэкIэсынтэкъэ: «Мыбы сепщIыхьащ, мор си нэгу щIэкIащ», - жысIэурэ. «Хъер ухъу!» - абы къыфIигъэкIтэкъым ди анэм. «ЦIыхушхуэ ухъунущ, унафэщIышхуэ, дзэпщ цIэрыIуэ – псори къыпщышынэу, къыппэувыф щымыIэу!» - арат ди анэм си пщIыхьэпIэм кърихыр. Сэри си фIэщ хъут ар, пцIы зэрыхуэзупсыр сщыгъупщэжау: апхуэдэ сепщIыхьакъым игъащIэм! Дызыщеджэ унэр кхъахэ дыдэ хъуауэ зэрыщытар сощIэж – сэхуи темыкIауэ, блыным чырбышхэр къыхэцIэфтыжарэ унэ лъэгури къилъэлъыжауэ. ПщIантIэр Iэхуитлъэхуитт, жыг дэтт, псыунэр пхыдзати, псыунэм ибгъукIэ зы чей щытт, псы игъэхъуауэ. ЩIалэ цIыкIуи хъыджэбз цIыкIуи дызэхэст, зэгъусэуи дызэдэджэгут. Дезыгъаджэр фызыжь тхышэ лъагэт, и щхьэц цIырхъыр пкъынэкIэ иIарэ езым тIэкIу хухэткIэ шэч хуэпщIу. Нэ жагъуэкIэ къыпIуплъэ зэпытт фызыжьыр, и пэ къуаншэм къашыргъафэ къытригъауэт. И къуэдзэр езым и къуэрат. Абы дыщышынэтэкъым. Абыи тIэкIу хухэмытауэ пIэрэ жызоIэ, си нэгу къыщыщIэхьэжкIэ: делэIуделафэт, фэ етплътэкъым, и псалъэи дедаIуэтэкъым. Псоми я щIыбагъ сыдэст сэ, дезыгъаджэ фызыжьыр башкIэ къыслъэIэстэкъым. Хъыджэбз цIыкIухэр «цыджэхунэкIэ» къызэджэт – сызэрысырыхум щхьэкIэ. ЩIалэ цIыкIухэр си цIэкIэ е «Капитаным и къуэкIэ» къызэджэт – ди адэр дзэм хэтти. Дызыщеджэ пэшым и бжэм пхъэбгъу зэпэплIимэ цIыкIу зэрыкIэрылъар сощIэж. Пхъэбгъум псалъитI тетхат: «Сыкъэсащ», «СыщIэкIыжащ». Къыщытхэхьа сыхьэтымрэ щытхэкIыжамрэ тратхэт абы дезыгъаджэхэм. Блыным пхыгъэмба щхьэгъубжэ зэвым нэху мащIэ фIэкI къыдидзу зэрыщымытари сощIэж. Зыгуэр пIэщIэщIамэ, уаубэрэжь фIэкI, нэгъуэщI къуэды щыхабзэтэкъым ди еджапIэм. Ебгъэлеямэ, фэлэкъэр хьэзырт. Фэлэкъэм нэхъ дызыщышынэ щыIэтэкъым. Егъэлеяуэ умыкъуейщIеямэ, Iустазым и къуэдзэм уи напэр кърихулэкIынт, е езы Iустазым баш къуиутIыпщынти, абыкIэ зэфIэкIт. Си напэ кърахулэкIауи баш къызаутIыпщауи сщIэжкъым – си адэм къыфIэлIыкI хъунт. Дезыгъаджэ фызыжьым си тхьэкIумэр зэ зэрытричар сощIэж: «ПцIы быупсащ!» - жери. Си тхьэкIумэр иджыри къэс бжьыбжь къысфIощI! Лажьэ сиIэтэкъым, пцIы сыупсатэкъым. Зэрыхъур мыращ. Псыунэм ибгъукIэ щыт чейм и пхъэцIыбыр Iуичри, зыгуэрым псыр къригъэжащ. Псыр къизыгъэжар слъэгъуащ: и псэр хэгъуауэ, хъерсыз гуэрт. Сэ къытралъхьащ, сызыхагъэзыхьым щIалэ хъерсызым и цIэр исIуащ. Зиумысыжакъым, фэлэкъэм щыщтэри. НэгъуэщI зы щIалэ цIыкIу къэуври, езым зытрилъхьэжащ: «Сэращ чейм псыр къизыгъэжар», - жери. Ираудри, башкIэ кIуэцIакъухьащ. Абдежыращ фызыжьым си тхьэкIумэр щытричар: «ПцIы быупсащ, лажьэ зимыIэ щIалэм пцIы теплъхьащ», - жери. Сыт си лажьэт? ПцIы сыупсатэкъым, псыр къизыгъэжар слъэгъуат – я фIэщ сыхъуакъым. Пщыхьэщхьэм, унэм дыщыкIуэжым, башкIэ кIуэцIакъухьа щIалэ цIыкIум и пщэпкъыр субыдащ. - ПцIыупс щхьэ сыпщIа, - жысIащ. – Уэракъым псыр къизыгъэжар. Щхьэ зытеплъхьэжа? - Сэращ, - жиIащ щIалэ цIыкIум. - Уэракъым. Алийщ псыр къизыгъэжар. Си нэкIэ слъэгъуащ! – хуэздакъым. ЩIалэ цIыкIум зыри къыпидзыжакъым, къызэплъа фIэкI. Сигу къэкIащ: бзэгу сымыхьыжынумэ, зиумысыжыныфэ тетщ. Тхьэ хуэсIуащ: - УсIуэтэжынкъым, бзэгу схьыжынкъым, - жысIэри. - Алийщ псыр къизыгъэжар, - жиIащ щIалэ цIыкIум. – Ар сэри слъэгъуащ. Сымаджэрилэщ Алий, кIуэцIакъухьамэ, хуэшэчынутэкъым абы: гуащIэмащIэ гуэрщ, сымаджэрилэм и закъуэкъым. Плъагъуркъэ и фэр? Куэд щIакъым къызэрытэджыжрэ – сымэджащ. - Уэ щхьэ зытеплъхьэжа? Щхьэ зыкIуэцIебгъэкъухьа абы и пIэкIэ? - Абы сэрэ къуэш дызэрыщIащ. Ар кIуэцIакъухьамэ, лIэнкIэ хъунут. Сэ сыузыншэщ, зыуи къысщыхъунукъым. Сыкъелащ – сыкъэплъагъукъэ? КъызгурыIуэщакъым: - «Къуэш дызэрыщIащ» жоIэ? Дауэ къуэш фызэрызэрыщIар? - Ар пщIэркъэ? - СщIэркъым. ЩIалэ цIыкIур дэхьэшхащ, щежьэжым: - Зым илъ зыр дефэри, къуэш дызэрыщIащ. Аращ, умыщIэмэ. ЛъыкIэ дызэшщ, дунейм дытетыху. Зыр зым дыкъыщхьэщыжын хуейщ. Аращ, хабзэр, къуэш узэрыщIамэ. ИужькIэ щыгъуазэ сыхъуащ къуэш зэрыщIа щIалэ цIыкIу зыбжанэ ди еджапIэм зэрыщIэсым. Си нэкIи слъэгъуащ ар - лъыкIэ къуэш зэрызэхуэхъур. Классыращ щыслъэгъуари. Андез ищтэн хуейти, ди Iустазым и къуэдзэр классым щIэкIащ. Езы фызыжьыр нэмэзлыкъым тетIысхьащ, и щIыб къытхуигъазэри. ЩIалэ цIыкIуитI я Iэблэр ирабзауэ слъэгъуащ – си сэмэгурабгъумкIэ щыст. Сэ жан къащтэри я Iэблэр ирабзащ – IэфракIэм и лъабжьэIуэкIэ. Лъы ткIуэпс плъыжьыбзэр къытетIысхьащ я Iэблэхэм. ЩIалэ цIыкIуитIым загъэщхъри лъыр ирафащ. Къуэш зэрыщIащ! Сэри къуэш сиIатэмэ, си тхьэкIумэр трачынтэкъым, фэлэкъэми сыщихъумэнт. Сащымыщ хуэдэщ щIалэ цIыкIухэм, сыхамэгухамащхьэщ. Ныбжьэгъуи къысщхьэщыжыни сиIэкъым – ар сигу къеуэт. Ди анэм сыхуэтхьэусыхащ. - ЩIалэ цIыкIухэм ящыщ зым къуэш сищIатэмэ, зыри къыстегушхуэжынтэкъым! – жесIащ ди анэм. – Сэ зыращ къуэш зимыIэр. Ди анэм къысхуигъэдэхакъым, къуэш зэрыщIын щхьэкIэ, Iэблэр зэрырабзэр щыжесIэм. - Уигу къыумыгъэкIыххэ! Арат иджы къыпхуэнэжар! – къысхуэгубжьащ ди анэр, и тхьэкIумэ иригъэхьакъым. ИтIани сигу ихуртэкъым: гува-щIэхами, зыгуэрым къуэш зыхуэсщIынщ! Мэрем махуэ къэс ди хьэблэм дэс щIалэ цIыкIухэр ди хадэм къакIуэти, пшапэр зэхэуэху дыджэгут. Ди гъунэгъу лIы гуэрым, Хьэжы Будакъ, зы къуэ иIэт, сэ си ныбжьу. Сигу щIрихьар сщIэкъым и цIэр: Мыстыкъ! Сыт и лажьэ – цIэ дахэ дыдэщ. КъэпсэлъыгъуафIэщ, жьгъырущ! СощIэж: ди хьэблэ хъыджэбз цIыкIухэм усэ хузэхалъхьауэ щытащ Мыстыкъ. Уэрамым къыдэхьакъэ – псори йогуо: Мустэфа – Мыстыкъ! Укъежьамэ, тыкъ-тыкъ! Мустэфа-Мыстыкъ! Уи фочыжьыр тIыкъ-тIыкъ! Абы щхьэкIэ зигъэгусэтэкъым Мыстыкъ: хъыджэбз цIыкIухэм яхуилъ зищIти, дэхьэшхт. Дэри зэгуэдгъэпт, усэ цIыкIур едутIыпщурэ. Дэри зыкъытхуигъэгусэтэкъым. Иджыри къэс къызгурыIуэкъым: сытыт зыкъыщIытхуимыгъэгусэр? Хъыджэбз цIыкIухэр дэнэ къэна, жыг хадэм щыджэгу щIалэ цIыкIухэри дыкIуэцIикъухьыфынут Мыстыкъ, хуеямэ. Дэр нэхърэ нэхъ пIащэт, нэхъ къарууфIэт. Мыщэ шырым ещхьт Мыстыкъ: хъуреябзэт - и щхьи, и Iи, и лъакъуи, и плIэи. Дызэбэнамэ, псори дытридзэт. Дыкъызэдэжэми, къыттежт. Гъэмахуэм дзэлыч цIынэ къыздихьти, къакIуэт ди хадэм. Дзэлычыр дыупсти, чыбжьэ къыхэтщIыкIт. Чыбжьэр зэдэдгъажэурэ дызэпеуэт. АбыкIи дыпэлъэщтэкъым Мыстыкъ. Зэгуэрым, дзэлыч пхыр къыздихьри, Мыстыкъ ди хадэм къихьащ. Дзэлычыр щызупсым, си Iэпхъуамбэр суIэжащ. Си Iэпхъуамбэм лъыр къыщыпхивым, сигу къэкIыжащ: къуэш дызэрыщIынщ! - Мыстыкъ, мыдэ къаплъэт: си Iэпхъуамбэм лъы къизгъэкIащ. Уи Iэпхъуамбэми къигъэкI лъы. Къуэш дызэрыщIынщ! – жысIащ сэ. Мыстыкъ Iэнкун хъуауэ къысфIэщIащ. ЩIым еплъыхри и щхьэр игъэсысащ. - Къуэш узэрыщIынумэ, лъыр Iэпхъуамбэракъым къызэрыгъэкIын хуейр, Iэблэр ирабзэ. - ТIури зыкъэ? – хуэздакъым сэ. – Мыри лъыщ. Iэблэм къибгъэкIми, Iэпэм къибгъэкIми лъыщ. Къуэш дызэрыгъэщI! Мыстыкъ арэзы хъуащ. Сэр сIихри, и Iэблэр ирибзащ. Здрибзам деж лъы ткIуэпс къызыпхиващ. Лъы ткIуэпсым себзеящ. Мыстыкъи си Iэпхъуамбэм тес лъы ткIуэпсыр ирифащ… Мыстыкъ сэрэ къуэш дызэзэхуэхъурэ илъэс ныкъуэ дэкIа, илъэс дэкIа – сщIэжкъым. Къуэш дызэрызэхуэхъуари сщыгъупщэжа хуэдэт. ЕджакIуэ дызэдокIуэ, дызэдоджэгу – къуэш дызэрызэхуэхъуар сигу къэкIыжыххэкъым. Махуэ гуэрым нэхъ жьыуэ дыкъыщIэкIыжащ еджапIэм: дезыгъаджэ фызыжьым Iуэху къылъыкъуэкIауэ жиIэри дыкъиутIыпщыжащ. Мыстыкъ сэрэ уэрамым дыдэхьэжащ. Махуэр уэмщ, хуабэвэхщ. Сэ пщIэнтIэпсыр къыспож, Мыстыкъ хуабэр зыхимыщIа хуэдэщ. Дыуэршэрурэ дыздэкIуэм, зы хьэшхуэ уэрамым къыдэлъэдауэ къэтлъэгъуащ. Хьэм и ужь лIитI-щы итщ, баши ягъэдалъэ, мэкIий-мэгуо: - Бжыхьым фелъэ! Бжыхьым фелъэ! Хьэр къывэдзэкъэнущ! Си псэр IукIащ, хьэм сыщыIуплъэм: и дзапэфIанэр къыIуопс, Iупсыр къыIурож, мэгурым! Дэнэ ужэн: хьэр къэсащ – уIэщIэкIынукъым. - Си щIыб зыкъыдэдзэ! – жери Мыстыкъ иувыкIащ. Хьэр си ныбжьэгъум къыжьэхэпхъуащ. Хьэмрэ Мыстыкърэ зызэраупсейри зэрызекъуащ. Хьэм упэлъэщын? Хьэ домбейм! ВыщIэ хуэдиз хъут. Си ныбжьэгъур щIым хигуащ хьэм, и гущIыIу иувэжащи, ечатхъэ. Сэ си пIэм сикIыфыркъым, си псэр IукIащи, Мыстыкъ зыри хуэсщIэфыркъым. Ди насыпти, лIыхэр къэсащ, башыр тракъутэри, хьэр Iуахуащ. И Iэблэр хьэ дзэкъапIэщ, и пэм лъы къыщиудащ Мыстыкъ, итIани и гур егъэфI: - Ягъэ кIакъым… СызыхифыщIащ… НэгъуэщIкIэ лажьэ сиIэкъым. КъэнэкIафIэ сыхъуащ жыпIэкъэ!.. Мыстыкъ унэм яшэжащ. Сэри унэм силъэдэжащ, хьэм къыдищIар ди анэм жесIэжащ. Ди анэшхуэр къызэпщащ, къызэбжащ, псы хуабэкIэ сигъэпскIри сигъэгъуэлъыжащ. КъыкIэлъыкIуэ махуэм школым нэкIуакъым Мыстыкъ. ЕтIуанэ махуэми нэкIуакъым. - Мыстыкъ дыщIэгъэупщIэ, - жысIэри селъэIуащ ди анэм, си ныбжьэгъур дунейм къыщытемыхьэм. - Уи ныбжьэгъур сымаджэщ, си щIалэ цIыкIу, - жиIащ ди анэм. – Алыхьым гущIэгъу къыхуищIынщ. Хъужмэ, фызэрылъагъункъэ… Абы и ужькIэ школым щыслъагъужакъым Мыстыкъ, уэрамми щыслъагъужакъым. ЛIащ. ХьэщхьэрыIуэращ зэрылIыкIар… Жэщ хъурэ сыгъуэлъыжамэ, си сабиигъуэр си нэгу къыщIоувэж. Сигу къокIыж си сабиигъуэр щызгъэкIуа къуажэ пхыдзар. Пщэдджыжьым сыкъэтэджамэ, си Iэпхъуамбэшхуэм телъ дыркъуэ цIыкIурщ япэ сызыIуплъэр. Ар зыпэсщIын къэхъуакъым! ЛъыкIэ къуэш къысхуэхъуа цIыхум и фэеплъщ ар: и лIыгъэмрэ и цIыхугъэмрэ текIуэдэжащ. Сэ сыкъригъэлри, езым и щхьэр хилъхьащ. Ар къыпхуищIэфынущ лъыкIэ къуэш къыпхуэхъуа цIыхум. Лъэдакъэ лъагэ ЛIы дэкIуэжын жыхуэпIэр и пщIыхьэпIи къыхэхуэкъым Хъатыджэ-хъаным. И гур щыкIащ лIым. И ныбжьыр илъэс пщыкIущ хъуа къудейт лIы щратам. Зратари хэт жыIэт: илъэс хыщIрэ хырэ зи ныбжь лIыжь кхъахэ! ИлъэсипщI хъуащ и щхьэгъусэр дунейм зэрехыжрэ. Ар и нэгу къыщIэхьэмэ, Хъатыджэ-хъаным и фэр зокIуэкI: щIыкъатиблкIэ щIэкIуэтащэрэт – зы махуэ дэтыншакъым, сымаджэрилэти, пIэм къыхэнэжауэ ихьащ лIыжь кхъахэм, хущхъуэмэр щIэкIакъым лэгъунэм. Иджы хуэщIауэ мэпсэу фызабэ щIалэр. «Щхьэ удэмыкIуэжрэ?» - къыжраIэмэ, и тхьэкIумэ иригъэхьэкъым. - Сызезыхуэр сыт: сызыдэкIуэжыр жьы хъунукъэ – лIы зелъэфэн сыхуей сэ? Алыхьым жимыIэкIэ! Уи щхьэ закъуэ - уи лъакъуитI хуэдэ щыIэ! И щхьэ закъуэ – и лъакъуитIкъым фызабэ къулейм: зы мылъхупхъурэ зы унэIутрэ щIэсщ и унэ – Гюлтеррэ Эленрэ, зы пщафIи иIэ, МэхьмэдкIэ еджэу. И жьэр щыми якIэригъэкIкъым: махуэм и кIуэцIкIэ унэр зытхухрэ ярегъэпхъэнкI, унэ лъэгур зыбжанэрэ ярегъэлъэс, зыгуэр къикъухьауэ илъэгъуамэ, я фэр ирихынущ. ЦIыху гъэсащ и мылъхупхъури и унэIутри, пцIы къыпхуаупсынукъым, жан дыдэщ, я Iэр увыIэкъым. Мэхьмэди лажьэ иIэкъым: и щхьэ темылъ трилъхьэнукъым, уеплъамэ, плъыжь мэхъу, цIыху Iэсэщ, пщафIэми, хьэрэм ишхынукъым. Хъатыджэ-хъаным унэм щикIыр зэзэмызэххэщ – и унэIутхэр и нэIэм щIэт зэпытщ. Пэшхэр къызэхикIухьын и щIасэщ, пкIэунэми йопщхьэри зыщехущыхь, къохьэжри и унэIутхэр еущий: - Сэ фыкъыздэплъей! Хамэ зыкIэлъызгъакIуэкъым, сэри сакIэлъыкIуэкъым. Фэри фи гъунэгъухэм я деж куэдрэ фыщIежэкIыни зыщIыкIэлъывгъэкIуэни щыIэкъым: фи Iуэху фыхагъэн фIэкI, сыт къыфхуащIэрэ? Мэхьмэд фызабэм и жыIэм щыфIэкIа къэхъуакъым: пщэфIапIэм хьэщIэ е и Iыхьлы дэнэ къэна, хамэм я джэду щIэплъэгъуэнукъым. Махуэм пщIэнейрэ щIоплъэ Хъатыджэ-хъаным пщэфIапIэм, щIэплъэху къэси Мэхьмэд и закъуабзэщ. Хъатыджэ-хъаным зы хьэл мыгъуэ хэлъщ: туфлъэ лъэдакъэ лъагэр зыпищI щыIэкъым! ЗэрыцIыкIурагъэнщ и нэфI туфлъэ лъэдакъэ лъагэм щIыщыхуар. ПIырыпI хуэдэщ езыр, лъагъугъуафIэщ, екIущ, лъахъшэIуэщ жумыIэмэ. Арат унэм щисми туфлъэ лъэдакъэ лъагэр къыщIрилъэфэкIыр. «ТIыркъ-сыркъ! ТIыркъ-сыркъ!» - унэ лъэгур егъэпсалъэ махуэ псом, туфлъэ лъэдакъэ лъагэр зылъыпеIури. КIапсэрыкIуэ фэкI пщIэнкъым Хъатыджэ-хъаным, туфлъэ лъэдакъэ лъагэм шэсамэ: йощIэ, мэщэнауэ, туфлъэм къеджэлэхынкIэ мэшынэ унэIутхэр. Арагъэнщ щхьэуназэр къызыхихар. «Си щхьэр уназэ хъуащ», - жери, дохутыр къриджащ. Фызабэм еплъри, дохутырым жиIащ: - Псори зи лажьэр туфлъэ лъэдакъэ лъагэрщ. Туфлъэр зылъыхи, хъыдан вакъэ щабэ зылъытIагъэ – уи щхьэр унэзыжынукъым. Дохутырым апхуэдэ чэнджэщ къыщритым, Хъытыджэ-хъаным хъыдан вакъэ щабэ къищэхуащ. И псэр игъэтыншыжащ хъыдан вакъэ щабэм: махуитI дэкIри, и щхьэр мыунэзэж хъуащ. И псэр тыншыжами, и унэIутхэмрэ и мылъхупхъумрэ нэгъуэщI гуэр хъуауэ шэч ищIащ: иджыри къэс яхэмылъа хьэдл къащтауэ къыфIэщIащ. ЗэкIуэкIащ и унэIутхэри и мылъхупхъури! Зэрыщымыта хъуащ! Хъатыджэ-хъаным и нэм уIэщIэкIын? Эленщ япэ къиумысар. Еплъ абы кърипэсам: езы хъаным зэрызитхьэщI сабынымкIэ зитхьэщIащ! Ар хуэбдэ хъун? Хъункъым! Гюлтер кърищIари нэхъыкIэжщ: морабэ фалъэ иригъэмэрэкIуэхрэ пэт пщэфIапIэм щIиубыдащ. Мэхьмэди къыхурикъуащ: зы блэгъу псо IыхьэхэмыIуу ишхауэ къиумысащ! - Мыбы къызащIэр! Мыбы къызащIэр! Сыт къащыщIар мыбыхэм?! – зэкуэфэуэжащ Хъатыджэ-хъаным. ИкIэ къихуамэ, зы тхьэмахуэ закъуэм зыбгъупщIрэ къыщIэхуащ Хъатыджэ-хъаным и мылъхупхъумрэ и унэIутхэмрэ: е зыгуэр кIэщIагъэкIуэсыкIащ, е я Iуэху къагъэнащ, е хэжеящ - къуащIэфынур мащIэ, уи нэIэ ятемытмэ! Мэхьмэдщ езыгъэлеипар: ягъунэгъу унэIут зыщыплI къригъэблагъэри яхуэпщэфIащ, зэхэтIысхьэжри къэкъеижыху Iэнэм пэрысащ. А махуэращ Хъатыджэ-хъаным игу къыщыкIар: «IункIыбзэ естмэ, сыт яхузэфэIкын? IункIыбзэетакIэ фызесшэнщ – сыт скIэщIэвгъэкIуэсыкIыфын итIанэ!» КъыкIэлъыкIуэ махуэм Хъатыджэ-хъаным хэжеяти, хэтIэсауэ зиужьри, и пэшым къыщIэкIащ. «Дэнэ щыщIэвэщIа мыхэр?» - жери, лъыхъуэурэ пщэфIапIэмкIэ кIуащ. Бжэм щыбгъэдэхьэм, и тхьэкIумэм Iущащэ макъ къиIуэри, зиущэхуащ: «СакIэщIэдэIухьынщ», - жери. IункIыбзэ IухыпIэмкIэ дэплъащ, зигъэщхъри. Мэхьмэд шэнт лъагуэ тесщ, и бгъуитIымкIэ Гюлтеррэ Эленрэ къыщысщ, пщафIэм зыкъракъузылIауэ. - Фошыгъу щхьэ къыздумыхьарэ, Гюлтер? – мэшхыдэ пщафIэр. - Ямылъагъужыным IункIыбзэ иритащ! – жиIащ Гюлтер. - Уэ дыгъуэпшыхь щхьэ укъэмыкIуарэ? – хуохъущIэ Элени. – Хьэлывэ пхуэзгъэтIыгъуат. - Сышынащ, - жеIэ Элен. – Хъаным гу къытлитэмэ, дыдихужынущ. И тхьэкIумэ игъэкIауэ, якIэщIодэIухь Хъатыджэ-хъаным, и лъыр къовэ. Модрейхэм дэнэ щащIэнт Хъатыджэ-хъаным къазэрыкIэщIэдэIухьыр! ЩIачэкъым: - Хъыдан вакъэращ псори зи лажьэр! Хъыдан вакъэр зылъыпимыIуамэ, дытхъэжынут. Ямылъагъужыныр къежьэмэ, туфлъэ макъымкIэ къатщIэрт, къэмыс щIыкIэ! Еплъ и нэщIыбагъкIэ къращIэм! И гугъэнтэкъым игъащIэкIэ! И пщIыхьэпIэ къыхэхуэнтэкъым. Дзыхь яхуэщI абы - уи щхьэр фIашхыкIынущ, уи мылъкур зралъэфэлIэжынущ. Бжэр Iуиудри, пщэфапIэм щIэлъэдащ Хъатыджэ-хъаным. - Напэ фиIэкъым! Фыбзаджэнаджэщ! ФикI си унэ! АфIэкI зызвмыгъэлъагъу! И унэIутхэр унэм ирихужащ Хъатыджэ-хъаным. Абы и ужькIэ лIыщIэрэ унэIутрэ дапщэрэ къищтамэ, арэзы къэзыщIын къахэкIакъым: зыр напэншэт, зым Iэбэлъэбэн и щIасэт, зыр щхьэхынэт, зыр пцIыупст. Уигу фIы щагъэщIэнт апхуэдэ унэIутымрэ лIыщIэмрэ: зыхуэныкъуэ щымыIэми, уэд хъууэ щIидзащ Хъатыджэ-хъаным, фагъуэ хъуащ, зэлыпIыжыным нэсащ… Абы щынэсым, туфлъэ лъэдакъэ лъагэ зылъыпиIужащ Хъатыджэ-хъаным. ЗылъыпиIужри… и псэр тыншыжащ, и гум жьы дихужащ! И унэIутхэм щIатешхыхьын щхьэусыгъуэ иIэжкъым – зэхащIыхьIауэ гу ялъитэжкъым. Туфлъэ лъэдакъэ лъагэр зэрызылъыпиIуж лъандэрэ! И лъэ макъымкIэ къащIэри, хутыкъуауэ зыкъыIэрагъэхьэжкъым! УнэIутхэр я пIэ щитIысхьэжым, Хъатыджэ-хъаным и фэр къихьэжащ, нэкIу тхъуэплъ хъужащ. Ягъэ кIынкъым, и щхьэр унахэми: и псэм зигъэпсэхужащи, ари Тхьэм и фIыщIэщ…
{ "source": "adygabza.ru", "id": "tirquthar.txt" }
ЦIагъуэ Нурий Муслъымэн тхыдэ Пэублэ псалъэ Мы тхылъым сызэрыбгъэдыхьар транслитератор бгъэдыхьэкIэущ, сызэрелэжьари апхуэдэущ. Ди лъэпкъым и культурей блэкIам и зы напэ, и зы лъэхъэнэм и пэжыпIэр къэбгъэлъэгъуэн щхьэкIэ, документыр нэгъущI тхыбзэм зэрыралъхьэ щIыкIэм тету зэздзэкIмэ нэхъ тэмэму къэслъытащ. ХамэбзэкIэ гъэпсар адыгэбзэу зэдзэкIын Iуэхум ди лъэпкъыр иджыри хуэIэижь хъуакъым, иджыпсту ар Iуэху дымыщIмэ, итIанэ кIасэ хъунущ. ЗэдзэкIыныр лъэпкъхэр зэпызыщIэ, зэрызыгъэцIыху, зэгурызыгъаIуэ Iэмалщ, хэхэс адыгэмрэ хэкурыс адыгэмрэ зэпызыщIэнури, зылъэзгъэIэсынури, зэгурызгъэIэнури аращ. Ди лъэпкъыр латин, хьэрып тхыбзэхэмкIэ зэрытхам щхьэкIи, а тхыбзэхэмкIэ тха ди литературэр иджырей урыс тхыбзэхэмкIэ тхыжын хуей мэхъу, щэнгъасэм хэмыкIуэдыкIын щхьэкIэ. Ар трансли-терацием хиубыдэ лэжьыгъэу щытщи, хьэрып, латин тхыбзэхэр нобэрей ди тхыбзэхэмкIэ дохъуэж. Апхуэдэу дымыщIмэ, къеджэфын дымыгъуэтыжу культурэм хэхунущ. Хэхэс адыгэм и IэдакъэщIэкIыр зэддзэкIымэ къыдощIэ ар зэгупсысыр, зыгъэнэщхъейри, зыгъэнэщхъыфIэри. АбыкIэ щыгъуазэ дыхуохъу и дунейм, и лэжьэкIэм, и псэукIэм. Хэхэс адыгэ литературэм щыгъуазэ дыхуэзыщIыну Iэмал закъуэу щыIэр зэдзэкIынращ, ар бзэ куэдкIэ тхауэ щытщи. Абы дыкъе-мыджэфмэ, ди тхыдэм щыщ IыхьэфI тфIокIуэд, ди литературэри шыпхъуншэ-дэлъхуншэу къонэ. Дэри щIыналъэ куэдым дыщикъухьащ, бзэ куэдкIэ дызопсалъэ, бзэ куэдкIэ дотхэ, доджэ. Лъэпкъыр зы зыщIыжри, тIурэ, щырэ изыщIыкIри бзэращ, зэгурызыгъаIуэри, зэгурызымыгъаIуэри аращ. И бзэмкIэ псалъэ лъэпкъыр узыншэщ, и бзэмкIэ мыпсэлъэжыфу бзэ хьэхукIэ зэпсалъэ лъэпкъыр лъэпкъ узыншэкъым, сымаджэщ, сымаджэр лэжэфыркъым. Узым и хущхъуэгъуэ къэзымыгъуэтыфыр хуэмыхущ, хуэмыхуагъэ узым лъэпкъыр щихь къохъу. Зы лъэпкъыр зы зыщIыжыр, зэгурызыгъаIуэр, мамыру зэдэзыгъэпсэур зэпсэлъэныгъэращ. БзэкIэ зэлъэIэсыныр, зэдзэкIыным и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ. И блэкIам и пэжыпIэр зымыщIэж лъэпкъым и пщэдейр къыхуэщIэнукъым. Мы тхылъыр гъуджэщ, сурэтщ, дуней тхыдэм щыщ зы Iыхьэ къищу, къигъэлъагъуэу. ЦIагъуэ Нурий щыпсэуа лъэхъэнэм и лIы щэджащэщ, и пашэщ, хьэрып, латин тхыбзэхэмкIэ тха адыгэ литературэм и зэхэублакIуэщ, и гъуазэщ. А тхыбзэхэмкIэ тха псори тхуэхъумакъым, хъумауэ щыIэ тIэкIури иджырей адыгэбзэмкIэ хъуэжа хъуакъым, хъуэжауэ щыIэри документ зэдзэкIыкIэу зэдзэкIакъым. Тхыдэм ищта оригиналыр документщ, ар, псом япэу, къабзэрэ щыпкъэу зэдзэкIауэ дунейм къытехьа иужьщ итым ущытепсэлъыхьыфынур. ЩIэныгъей оригиналымрэ къызэрыгуэкI литературэмрэ зэрызэрадзэкI щIыкIэри зэщхькъым. ЩIэныгъей зэдзэкIыным зэдзэкIакIуэм и хуитыныгъэр щыпыухыкIащ. Псалъэр псалъэкIэ зэдзэкIыныр, хъуэжыныр щIэныгъэм къихутакIэщ зэрымыхъур, зэрыщыуагъэр, зэдзэкIыным и къалэн нэхъыщхьэр зэрыхуэмыгъэзащIэм къыхэкIыу: зэдзэкIыным и къалэн нэхъыщхьэр оригиналым итым техуэрэ гурыIуэгъуафIэу щIынращ. ЦIыхум и гупсысэр псалъэ закъуэкIэ къыхуэIуатэркъым, къызэриIуатэр псалъэухакIэщ. Абы щхьэкIэ, сэри, псалъэр псалъэкIэ зэдзэкIыныр къэслъытакъым, псалъэухар къыхэсхащ. Транслитерацэм къэдгъэзэжмэ, зэпызыщIэ-зэпызыгъэкI нагъыщэхэр езы ЦIагъуэм къызэригъэсэбэпам хуэдэуи къэзгъэнащ, схъумащ, мыхьэнэм зэран хуэхъуу къэслъытаращ схъуэжар. Диалектыр, къэпсэлъыкIэр зы щIыпIэм щыпсэу гупым я теплъэр къэзыгъэнаIуэхэм ящыщ зыщ; ари схъумащ, зэдзэкIын-хъуэжын Iуэхур нэхъ пэж хъун щхьэкIэ, а лъэхъэнэр зыджыну щIэныгъэлIхэм къахуэщхьэпэн папщIэ. ЕджакIуэм нэхъ и нэгу къыщIэзгъэхьэн щхьэкIэ, къэхутакIуэхэр гугъуехь хэзмыгъэтын папщIэ, ЦIагъуэм и «Муслъымэн тхыдэр» щIэныгъей оригиналу къэслъытэри, тхылъым и напэкIуэцI къэс оригиналыр гупэу, зэдзэкIар и щIыбу стхащ. Ди тхыдэтххэмрэ ЦIагъуэм и гупсысэкIэмрэ зэтехуэнукъым, ЦIагъуэр урыс щкIуол щеджакъым, ди тхыдэтххэм я егъэджакIуэр урысращ. ЦIагъуэр урыс культурэм щIапIыкIакъым. Ар Сирием къыщалъхуащ, Щамымрэ Тыркумрэ щеджащ. Арауи къыщIэкIынущ, ар къэбэрдей системэм щIыхэмызэгъари, Iумпэм щIащIари. Псалъэм папщIэкIэ, «хамэ», «хэхэс» псалъэхэм къарыкIыр зэмыщхьу къагурыIуэ хъуащ адыгитIым. Ди къэбэрдей тхыдэджхэр, ахэр я тхыдэм зэреплъымрэ, абыхэм ирагъэджахэр лъэпкъ тхыдэм зэреплъымрэ, ЦIагъуэм а лъэпкъ тхыдэр зэрилъагъумрэ зэтехуэркъым; хэкурысхэмрэ ЦIагъуэмрэ езыгъэджахэр зэрызэтемыхуэм хуэдэу. Хэкурысым «хэхэс», «хамэ» псалъэхэм къригъэкIыр урыс гупсысэкIэм, урыс культурэм къитIасэращ, къазэрыгурыIуэри апхуэдэущ: Адыгэ гупсысэкIэмкIэ хамэр уи бзэр, уи хабзэр зымыщIэращ, а тIур ищIэ зэрыхъууи, ар хамэжкъым. «Чужой» псалъэм зэхигъэжыркъым цIыхур лъэпкъкIэ: адыгэ жылагъуэм къыдэтIысхьар урысми, хьэрыпми е нэгъуэщI лъэпкъым къыхэкIами «чужойщ». «Чужой» псалъэм псэ зыIутри зыIумытри и зэхуэдэщ: хьэпшыпым щхьэкIи, цIыхум щхьэкIи жыпIэ хъунущ хамэ, «чужой». Урыс «чужойм» зэхидзыр езым еймрэ имеймрэщ: имей псори чужойщ. Абы хуэдэ гупсысэкIэм цIыху гъэсар гупсысэгъуэ хедзэ, гупсысэр лъабжьэ быдэм, зэпIэзэрытым, зэрытемыщIыхьам щхьэкIэ. А гупсысэкIэмкIэ къыпхуэщIэнукъым абы ейуэ къилъытэмрэ къилъытэнкIэ хъунумрэ. «Еиныгъэр» зэпхар политикэращ. Политикэр техьэтекIщ. Абы гъащIэ кIыхь иIэкъым, зиIэр лъэпкъ хабзэхэращ, ахэр щIыуэпсым и хабзэ зэпIэзэрытым къыхэкIащи. Абы и щапхъэм темыха хабзэм гъащIэ иIэнукъым. ЦIагъуэр зыщIапIыкIар уи бзэмрэ, уи хабзэмрэ зымыщIэр хамэу аращ. Гу лъытапхъэщ, урыс-кавказ зауэр къемыжьэ щIыкIэ адыгэхэм къахэтIысхьам, я хабзэр я бзэр къызэращтэу, адыгэ хъууэ щытащ, уеблэмэ, жылагъуэу ибэгъухьырти, цIыху цIэрыIуэхэри къахэкIырт, адыгэ дыдэхэм нэхърэ нэхъ адыгагъи яхэлъу. А Iуэхур нэгъуэщIуи хыболъагъуэ тхыдэм: урыс культурэм щIапIыкIар урысым нэхърэ нэхъ урысыж зэрыхъур. КъезыбжэкIахэм щыхьэт техъуэ куэд тхыдэ блэкIам щибгъуэтынущ. Ауэ, нобэр къэзыгъэщI щытыкIэр пхъуэжын щхьэкIэ, псом япэу, езы цIыхур и псэм текIуэфын хуейщ, армырамэ уи пIэм уиуджыхьыжынущ… Арауэ къыщIэкIынущ, ди бзэмкIэ деджэжын Iуэхури и пIэм щIиуджыхьыр. Си гугъэмкIэ, сыт хуэдэ щIэныгъэми лъабжьэ хуэхъур езы цIыхуращ, щIэныгъэ къудейкIэ зыгуэри цIыху пхуэщIынукъым. ЦIагъуэм и щIэныгъэм езым щыщ хэлът, лъэпкъ къызыхэкIар и лъабжьэт, ар псом япэ иригъэщыну хуейт; хуейт и лъэпкъыр мыкIуэдыжыну, куэдрэ, узыншэу дунейм тетыну - абы щхьэкIэ цIыху яукIрэ!? ЗэдзэкIын Iуэхур, псом япэу, псэ лэжьыгъэщ, псэбзэ щIэныгъэщ. Езы ЦIагъуэри, и гуащIэ къызэринэкIари бзэ гурыIуэгъуэкIэ тха хъун щхьэкIэ, псэкIэ, абы упыщIауэ щытын хуейуэ къызолъытэ. Лъэпкъым и тхыдэр къыщалъыхъуэжыр архивращ, архологеращ, IуэрыIуатэращ. Архивым щIэлъыр документщ. Ар дунейм къытехьэн щхьэкIэ, зэдзэкIыныр Iуэхушхуэу къоув. Ди лъэпкъ тхыдэм и архивыр къэрал куэдым щыхъумащ, урысеймкIэ щыIэр урысыбзэмкIэ зэфIокI, хьэрып къэралхэм щыIэр хьэрыпыбзэкIи уэсмэныбзэмкIи тхащи, бзитIри пщIэн хуей мэхъу, Тыркум щыIэри уэсмэныбзэмрэ иджырей тыркубзэмкIэ тхащи, бзитIри пщIэн хуей мэхъу. Уэсмэныбзэр тыркубзэщ, хьэрып хьэрфхэмкIэ тхауэ. А бзэр зэрахьэжыркъым, къеджэжыфи куэд щыIэжкъым. Абы нэмыщIауэ, а документхэр Iэрытхщ, зы пэжырытхэм псори теткъым. Абыхэм я зэдзэкIыным гугъехьу ди пащхьэ къралъхьэхэм пэлъэщын щIэныгъэлI диIэкъым, абыкIэ зэхуэдэщ, ди блэкIар зэрытха хьэрыпыбзэ, латиныбзэ документхэми, литературэхэми я зэдзэкIыныр. Си гугъэмкIэ, зэдзэкIын Iуэхур утыку къилъхьэн хуейщ. Ар къэрал унафэкIэ, къэрал къарукIэ мыхъумэ, щхьэзакъуэ IуэхукIэ зэфIэмыкIынщ. Совет лъэхъэнэм зэдзэкIыныр зэрыIуэху щхьэпэр къыщащIэм, Сталиным и унафэкIэ Iуэху ящIри, Горький я тхьэмадэу тхакIуэ, зэдзэкIакIуэ гуп зэрагъэпэщри, лъэпкъ куэдым я литературэхэр, IуэрыIуатэхэр урысыбзэкIэ зэрадзэкIыуэ щытащ, Къэбэрдей нарт эпосри а гупым я фIыгъэкIэ урысыбзэкIи нэмыцэбзэкIи дунейм къытехьащ. Си гугъэмкIэ, зэдзэкIын Iуэхур, адыгэ республикэхэм щыIэ ЩIэныгъэхутэ институтхэмрэ, университетхэмрэ, Дунейпсо адыгэ хасэмрэ я пщэм къыдохуэ адрей я къэлэнхэм хуэдэу. Къалмыкъ Аднан ТХЫЛЪУБЛЭ Адыгэр я бзэкIэ тхэрэ къеджэу, зызыIэта лъэпкъхэр зэрыпсэу щIэныгъэм иригупсысэу ягъэсэн мурадкIэ ЦIагъуэ Нурийрэ Дым Iэдэмрэ тхылъ зыбжанэ къыдагъэкIащ хьэрып тхыбзэхэмкIэ тхарэ адыгэбзэ къабзэу, «Адыгэ макъ» кIэзетри абы ягъусэу. Ахэр КIахэми, Шэрджэсейми, Къэбэрдей жылэ зыбжанэми ялъэIэсу щытащ. Мэдрэсэхэм зэджэн тхылъ яхуэхъурт, хьэрып щIэныгъэ зиIэхэми зыIэпахыу. Дымхэ я тхылътедзапIэм къыщыдэкIа тхылъхэр тIощIым зэрынэхьэсырт. А тIощIым хэтащ диным теухуа зыщыплIи. Ауэ а тIощIым щыщ зыкъомыр е кIуэдащ е дэ къытхуэгъуэтакъым. Сэ сщIэркъым Алыхьым къызэрыщыхъур, ауэ ди культурей тхыдэм дежкIэ хэщIыныгъэшхуэщ; Къэбэрдейм ди щэнхабзэм хуэфэщэн пщIэ зэрыхуэдмыщIыми и щыхьэтщ. Абы сригузавэу «Бахъсэней узэщIакIуэхэм я щэнгъасэр» (Iэдэбыр) щыстхым тхылъым хэзгъэхьат ЦIагъуэ Нурий и «Муслъымэн тхыдэр», транслитераци щIауэ, текстыр урысыбзэкIи зэдзэкIауэ, арщхьэкIэ Бахъсэней литературэм и бийхэр къэуври илъэсищым щIигъукIэ сызэлэжьа культурей телъыджэр сфIатхьэлэну хуежьащ. Илъэс бжыгъэкIэ дызэныкъуэкъуа нэужь, бэльшэвик залымыгъэм и къутэжыгъуэр къэсати, демократиер къыщыпсэужым, «Бахъэсэней узэщIакIуэхэм я щэнгъасэр» къыдэзгъэкIащ, ауэ «Муслъымэн тхыдэри» къыхэсха статья гуэрхэри хэмытыжу. Иджы ди усакIуэ, щIэныгъэлI, егъэджакIуэ хъарзынэ Къалмыкъ Аднан «Муслъымэн тхыдэр» езым иджырей ди алфавитым къабзэу кърилъхьэжауэ къыдегъэкIыжри, мыр контрреволюцэщ жиIэу зы псэ пэувыжыфынукъым, абы и хуитыныгъэр конституцэм къехъумэри: ди псэр гъэру зыIыгъахэм къыIэщIахыжащи, ар ди насыпщ. Сэ сызэреплъымкIэ, мы тхылъыр, «Муслъымэн тхыдэр», Iиман зиIэ псоми, зыIэрагъэхьэпхъэщ, я Iиманым щIэныгъей лъабжьэ игъуэтын щхьэкIэ. Ауэ мыр фIэщхъуныгъэ зимыIэхэми сэбэп къахуэхъунущ я щIэныгъэр ягъэбэгъуэнымкIэ: мыпхуэдэ тхылъым уебэкъуэныр губзыгъагъэкъым. УзэщIакIуэ фIэрафIэ ЦIагъуэ Нурий и «Муслъымэн тхыдэр» къэзыIэтыжа Аднан Тхьэр арэзы къыпхухъу жетIэну къытлъос тхылъаджэ псоми. Уэри гъуэгу махуэ, тхылъ телъыджэ, гъэзэж уэ узыхуатха цIыхубэм я деж! Нурий мыгъуэми и псэр гуфIэнщ. Нало Заур I3.6. 2009. ЩIалэегъагэхэм я нэIэ зытетын хуейр: Мы тхыдэр щIэдзапIэхэм щегэуэ щыт щIалэхэм хухэхащ тхыдэр фIыуэ ягурыIуэн папщIэ езыгъагэр зыхуэсакъын хуейр мыращ: муслимэн къэралхэр къыщежьа щIыхэмрэ, я IэмыщIэм къихьа щIыналъэхэр пхъэмгъум тритхэу, е блыным кIэрыIулIа картэхэм иригъэплъхэу Iэмал зэриIэкIэ яригъэлъагъун хуэдэу ямыщIмэ, тхыдэр пщIэншэу къэнэнущ. Дыгулыбгъуей, Нурий ЦIагъуэ Муслимэн тхыдэ Мы тхылъым итыр: Бегъымбархэм я тарихъ, муслимэн диныр къызэрежьар, Къуреш лъэпкъыр, ди бегъымбарым и лъэпкъыр, бегъымбарыгъэ къызэрыхуэкIуа щIыкIэр, зэрыIэпхъуар, къэзэуатхэр, бегъымбарым и бынхэр, хъэлифэхэр, Iэмэуий дэулэтыр, Хьэбас дэулэтыр, Iэндэлус дэулэтыр, пщыгъуэхэм я лъэхъэнэр, адыгэм и тарихъ кIэщIу. ЩIэдзапIэхэм щагыну зэгъэпэщащ Зытхар: Нурий ЦIагъуэ Щытрадзар: Бахъсэн Дым Хьэбдулгъэфар и тедзапIэращ 1336-1918 Муслимэн тхыдэ Бисмиллахьи ррэхьмани ррэхьим Япэр Бегъымбархэм я тхыдэ 1- Iадэмрэ и бынхэмрэ: Тхьэм уафэр, щIылъэр, абыхэм щыщыIэхэр, щыпсэухэр къигъэщIа нэужь, цIыху псоми ядэуэ хъуа (Iадэм)р къигъэщIащ . 2-Хьэуа Iадэм фыз хуэхъун щхьэкIэ Iадэм и сэмэгу гъуэбзикIэм цIыху псоми я анэ хъуа (Хьэуа)р къыхигъэщIыкIащ тIури жэнэтым иригъэтIысхьэри дэтхэнэ зым щыщри фшхынуэ фхуитщ, ауэ мо жыг закъуэм фемыкIуалIэ къажриIащ Тхьэм. 3 -Унафэм емыдэIум къыхэкIыр: ЦIыху поми ядэ япэу икIи янэ япэу хъуа Iадэмрэ Хьэуарэ зыбжанэрэ жэнэтым щытхъахэщ, гъащIэ дахэ щагъэкIуащ. АрщхьэкIэ махуэ гуэрым шейтIаныр ябгъэдыхьэри дихьэхащ, Тхьэм фемыкIуалIэ жыхуиIа жыгым ирщэлIахэщ а жыгым пытым щыщ япэ Хьэуа ишхащ. ИлI Iэдэмыр дихьэхыжри абыи ишхащ. ТIури унафэм щемыдаIуэхэм Тхьэр къахуэгубжьри зэпэIэщIэхэу щIым къидзыжахэщ. 4 – Iадэм и бынхэр: Iадэмрэ Хьэуарэ щIым къытехьа нэужь зэрымыгъуэтыжхэу куэдрэ зырызу къакIухьащ. И ужькIэ тхьэм къахуигъэгъужащ. Зэрыгъуэтыжынхэу хуит ищIащ. щызэрыгъуэтыжхэм куэду гуфIэжахэщ. Ауэ Тхьэм и жыIэр ямыубыдыуэ жэнэтым къикIыжа зэрыхъуам иринэщхъеяхэщ. Зыбжанэ дэкIри зыр щIалэу зыр хъыджэбзу тIу къыздилъхуащ. япэ къалъхуа щIалэм /Къабил/, етIуанэу къалъхуа щIалэм /Хьабил/ фIащащ. 5 - Къабилрэ Хьабилрэ: Ин хъухэри я къэшэгъуэ хъуащ. Къабил езым къыдалъхуа хъыджэбзыр къишэмэ фIэфI хъуащ арщхъэкIэ Тхьэм и унафэм къезэгъыртэкьым. Къабил къьдалъхуар Хьабил ишэнхуейт. Ядэри еущие щхьэкIэ дэIуакъым. И къуэшым ефыгъуэжри иукIащ. хъыджэбзри ирихьэжьэри хыхьэжащ дунейм и щIыIукIэ япэ лIа цIыхури Хьабил хъуащ. 6 - Шит бегъымбарыр: Iадэмрэ Хьэуарэ я щIалитIым къащыщIам игъэнэщхъеят. Я нэщхъеягъуэр ящхьэщихын папщIэ Тхьэм зыкъуэ къаритащ, абы (Шит) фIащащ. Iадэм и бынхэр куэд хъури жылэ щыхъум бегъымбарыгъэ къыхуэкIуащ. цIыху псоми ядэу зэрыщытым хуэдэу бегъымбар псоми япэщ. Илъэс 900 нэхъыбэ псэуа нэужь дунейм ехыжащ. (Iадэм бегъымбарыр дунейм ехыжа нэужь (Шит) бегъымбар хъуащ. Чэбэр япэ зыухуар Шит бегъымбарыращ. 7 - Идрис бегъымбар: Шит бегъымбарри илъэс куэдрэ псэуа нэужь, и къуэрылъхум я щыщу (Идрис) жыхуаIэр бегъымбар хъуащ. ЦIыху гъуэщахэм тхьэ гъуэгур яригъэцIыхужащ, захуэм хуигъэзэжащ. цIыхум щыщуэ япэ тхар, япэ бзар (Идрис) бегъымбарыращ, Идрис и лъэхъэнэм щIылъэм цIыхр щыIув хъуат. 1-упщIэ Iадэмрэ Хьэуарэ дэнэ къыщыхъуа? ящхьэ кърикIуар сыт? ИужькIэ дауэ хъужахэ? Iадэмрэ Хьэуарэ япэ къалъхуа щIалэхэр хэт? Къабилрэ Хьабилрэ ящIар сыт? Япэу цIыху зукIар хэт, Япэ лIар хэт? Шит бегъымбарым хэт и къуэ? сыт ищIа? Бегъымбаруэ щыт Идрис хэт? Сыт ищIа? 8 – ЦIыхум ядэ етIуанэр: Идрис бегъымбарым и ужькIэ бегъымбарыншэу къэна цIыхухэр удафэу хуежьащ, тхьэгъуэгум текIахэщ. Ахэр захуэм хуиузэщIэжын папщIэ Тхьэм (Нухь)-м бегъымбарыгъэ къритащ. Нухь бегъымбарыр гъуэгум текIахэм куэдрэ еущиящ. АрщхьэкIэ къедэIуахэкьым. Тхьэм и губжьыр яхуэфащэ хъуащ. 9 - Нухь и кхъухьыр: Нухь бегъымбарыр цIыхухэр къызэремыдэIуам щхьэкIэ зэгуэпат. Зы кхъухь щIы жиIэри Тхьэм унафэ къыхуищIащ. Нухь кхъухь щIыныр ауха нэужь езым къедэIуа цIыху пщIей хуэдизымрэ и къуищымрэ кхъухьым кригъэтIысхьахэщ, псэущхьи хъу зырызрэ ибз зырызрэ зыдищтащ. ЕплIанэу зы къуэ иIэт Нухь. Ар цIыху мыдаIуэхэм къакIэрыкIыртэкъым, мыгувэу Тхьэм и губжьыр цIыху мыдаIуэхэм кьазэрылъэIэсынур жриIэри, кхъухьым къитIсхьэнкIэ еущия щхьэкIэ и тхьэкIумэм ихьакъым. 10 - Нухь и псыдзэр: Нухь бегъымбарым едэIуахэр къанэ щымыIэу кхъухьым ихьа нэужь уэлбанэ къэхъури псыхэр къеуэхыуэ хуежьащ, къешхыурэ щIыхэр псым щIигъэнащ. Нухь и кхъухьыр псы гущIыIум итащ, кхъухьым имыхьахэр Нухь и къуэ еянэри яхэту псыдзэм итхьэлащ. Абы Нухь и псыдзэщ и цIэр. Псыдзэр мазэ зыбжанэкIэ щIылъэм тетащ, и ужькIэ жэщIэжу хуежьэри (Джуди)Iуащхьэм теувыIащ. Исахэр къикIыжри тхьэлъэIушхуэр ящIыжащ, зэгуакIуэ щIыхэм щытIысыжахэщ. Джуди Iуащхьэр Арарат хэтщ, ди хэкум и щIым пылъщ, джынубымкIэ. Iадэм техъукIа цIыхухэр псыдзэм ихьа нэужь, иджы щыIэ цIыхухэр къэзылъхужар Нухь и къуэхэращ. Абы папщIэ Нухь бегъымбарым адэ етIуанэ фIащащ. 11 - Нухь и бынхэр: Нухь бегъымбарым и кхъухьым итIысхьа и къуищым щыщу зым и цIэр (Хьам)-т. зым и цIэри Сам-т, ещанэм и цIэри Яфис-т. Хьам цIыху фIыцIэхэм ядэщ. Сам Хьэрыпхэм, Персянхэм, Румхэм ядэщ. Яфис адыгэм ядэщ. Адыгэм ядэщхуэр IэIэт-щ. IэIэт ядэр Таргъум-щ. Таргъум ядэр Кимыр-щ. Кимыр ядэри Нухь и къуэ Яфис-ращ. 2 - УпщIэ ЦIыхум етIуанэ ядэр хэт? Ядэ етIуанэкIэ щIеджар сыту пIэрэ? Нухь бегъымбарым ищIар сыт? Псыдзэ щхьэ къэхъуа? Сыт хуэдизрэ псыр щIым тета? Нухь къуэ дапщэ иIа?Я цIэр сыт? Нухь и кхъухьыр сытым теувыIа? Адыгэм ядэшхуэр хэт? 12 - Бегъымбархэм я цIэхэр: Псыдзэр дэкIри куэд щIа нэужь цIыхум Тхьэм и губжьыр ящыгъупщэжын, тхьэгъуэгум темытыжын хъуахэщ. цIыхухэм гъуэгуфIым хуишэн папщIэ зыбжанэ щIэхыу къигъакIуэурэ бегъымбархэр, ущиякIуэхэр къахуигьэкIуащ Тхьэм. Абы тету тхьэгъуэгур цIыхум къалъызгъэIэсыжахэм я бжыгъэр къэтыншэу зыщIэ щыIэкъым, ауэ тIощIрэ йрэм я цIэр КъурIэным къыщыкIуауэ дощIэ, абыхэм я цIэр зэдгъэцIыхун хуейщ. 13 - КъурIэным къыщыкIуа бегъымбархэм я цIэр: Iадэм, Шит, Идрис, Нухь, Хьуд, Салихь, ЛутI, Ибрахьим, Исмахьил, Исхьакъ, ЕгIкъуб, Исуф, Iэиуб, Щухьеб, Муса, Хьарун, Иляс, Дауд, Сулеман, Лукъмэн, Иунус, Зулкифыл, ГIузер, Зэкэрия, Ехья, ГIиса, Мухьэммэд. Псоми тхьэм фIыр яхуищIэ. 14 - Китаб къызыхуэкIуа бегъымбархэр: Бегъымбар псори Тхьэм игъэлъэпIащ. Зы нэхърэ зыр нэхъ дгъэиныфынукъым. Ауэ а бегъымбархэм щыщуэ плIым китаб къахуэкIуащ. Шэрихьэт унейхэр ярытуэ, адрей бегъымбархэр китаб кьызыхуэкIуахэм я гъуэгумкIэ лэжьахэщ. Китаб къызыхуэкIуа бегъымбариплIым я цIэр: Муса, Дауд, ГIиса, Мыхъэмэд. псоми Тхьэм фIыр къахуищIэ. Китаб зиIахэм щыщуэ Ибрахьимрэ Исуфрэ нэхъ Iуэху къабгъэдэкIауэ щытщ. А тIури къыдэкIуэу бегъымбархэм я гугъу къэтщIынщ. 15 - Ибрахьим бегымбарыр: Пасэ зэманым Килдан хэкум иса жылэр дыгъэм, мазэм, вагъуэм хуэпщылIхэрт. Ахэр тхъэ хуэдэу ягъэлъапIэрт, щхьщэ хуащIырт. А жылэм я пащтыхъхэм зэреджэу щытар Нэмруд-щ. Тхьэм ахэр гъуэгу захуэм хуигъэзэн папщIэ Ибрахьим бегъымбаруэ яхуигъэкIуащ. Килдан хэкур ди хэкум и джынубымкIэщ здэщыIэр, нобэкIэ тыркум и IэмыщIэ илъщ, Бэгъдадрэ Iэрзрумрэ я зэхуакущ, нобэрей Мусил жылэм и гьунэгъууэ Бабил жаIэу зы къуажэ ин щыIащ. Килданихэм я нэмрудхэр абы дэсащ. 16 - Ибрахьим бегъымбарыр Килдан зэрикIыжар: Ибрахьим илъэс пщыкIухым щынэсам цIыхухэр диным хуищэу иригъэжьащ. АрщхьэкIэ къедэIуар куэду зырызщ. Адрейхэр зэрыгъуэщам хутекIакъым. Махуэ гуэрым цIыху гъуэщахэм я тхьэ сурэтхэр зыщIэлъ унэм Ибрахьим бегъымбарыр щэхуу щIыхьащ тхьэ сурэтхэу щIэт и лъэпкъыр джыдэкIэ зэтриIулIащ. А нэхъ тхьэ ин жыхуаIэм и гугъу ищIакъым, джыдэри абы пщIэхилъхьэжри щIэкIыжащ. Килданхэм Iуэхур щызэхахым Иб-рахьим бегъымбарым гурыщхъуэ хуащIри хагъэзыхьащ. Езым - «Фи тхьэхэр зэтезыIущIар мо тхьэшхуэращ, джыдэри мес абы пщIэхэлъщ" жиIащ. АрщхьэкIэ псэ зимыIэм a Iyaxyp ищIэнкъым жаIэри къыхуадакъым. Щамыдэм, «атIэ а нэхъ инми зыри щылъэмыкIынукIэ, апхуэдэу псэ зимыIэу, зыхэщIыкI зимыIэу, лъэкI зимыIэу щыт пхъэ IущIахэм щхьэщэ щIыхуэфщIыр сыт, фыщыхуэпщIылIыр сыт? яжриIащ. Килданхэм къыжраIын ягъуэтакъым. Ибрахьим жиIар захуэт. жаIын щамыгъуэтым нэхъри зэгуэпхэри я пащтыхь бзаджэу Нэмруд хуэтхьэусыхахэщ. Нэмруд щхьэзэфIэфIт, бзаджэт, езым емыдаIуэр игъэпсэунутэкьым. Щхьэхуэ унафэ ящIри Iуащхьэ хуэдэу ину мафIэ ящIащ. Ибрахьим бегъымбарыр "бзы"кIэ мафIэм хадзащ. ИтIани Тхьэм и фIыгъэкIэ мафIэм исакъым, зыри къыщымыщIу къыхэкIыжащ. МафIэм къела нэужь и бынхэр, езым къедэIуахэр здищIыгъури Кидданхэм яхэкIыжащ. кIуэурэ Къудус – Къуэдыщэ лъэныкъуэхэм къыщыувыIащ. Зыхыхьа журт жылэм тхьэгъуэгур яригъэцIыхуащ Ибрэхьим бегъымбарыр адыгэу щытауэ жаIэ. И гуащэм и цIэр Сэрей-щ. Сэрей гуащэр адыгэу щытащ. Сэрей гуащэр Тхьэми игъэлъэпIащ. ЦIыхум я анэ хъуныгъэмкIэ Тхьэм къигъэгуфIащ. А лъэхъэнэм адыгэм я къэралыгъуэр ди хэкум щегъэжьауэ Къудус нэсуэ, Къудус фIэкIрэ Мысыр еуалIэу щытащ. Сэрей гуащэ здыщIалъхьар Къудус и щIым щыщуэ Хьэбрун жаIэу зы адыгэ къуажэщ. Хьэбрун къуажэ щохьур и къуэуэ Хьэфрун жыхуаIэм ищI Ибрахьим бегъымбарым къищэхужауэ щытти абы щыщIалъхьащ. ХьэщIэ гъэхьэщIэныр, фты пыупшIыныр, згъэ-къэбзэныр, Iэбжьанэ-лъэбжьанэ пыупщIыныр, къурмэн фIэгъэжыныр, Ибрахьим бегъымбарым къыщIэна хабзэ дахэщ. 17-Ибрахьим бегъымбарым и къуэхэр: Ибрахьим бегъымбарыр лIыжь дыдэ хъуауэ къуитI къыхуалъхуащ: зыр ИсмагIилщ зыр Исхъакъ-щ, тIури бегъымбар хъужахэщ. ИсмагIил бегъымбарыр хьэрыпым я нэхъ лъэпкъыфIу щыт Къурейшым я лIыщхьэщ, Исхьакъ бегъымбарри ИсраIил и бынхэм ядэщ. ИсраIил и бынхэр бегъымбаруэ, икIи унафэщIуэ журтхэм яхэтащ. Абы папщIэ Исхьакъ адэу ялъытащ. Исхьакъ бегъымбарыр журтым я адэкъым, журтыр лъэпкъ щхьэхуэщ. Исмахьил бегъымбарыр Мухьэммэд бегъымбарым я адэшхуэщ, Мухьэммэд бегъымбарыр муслимэн диныр жхуаIуэу щыт ди бегъымбар лъапIэращ. Тхьэм фIыр яхуищIэ. ЛутI бегъымбарри Ибрахьим бегъымбарым и къуэшым и къуэщ. 3 - упщIэ Бегъымбархэм я цIэхэр фщIэрэ? Зи цIэ къэкIуа бегъымбархэр дара? Я цIэр къыжыIэ? Китаб зиIэхэр дэтхэнэхэра? Ибрахьим бегъымбарыр дэнэ къыщежьа? ИщIар сыт? Нэмруд жыхуаIэр хэт? Ибрахьим бегъымбарым ищIахэр къыжыIэ? Ибрахьим бегъымбарым и лъэпкъыр… къыкIэлъыкIуэнущ Ассэламэ Хьисэ и къуэ Абдулыхь Усэр зейр Абдулыхь Хьиса Iэссэламэщ, КъэтIэр-Кэтар пщыгъуэм къыщыдэкI «IэлIуммэ» журналым тетащ. Iэрытхыр зейр Дыгъужь ФуIэдщ, Къалмыкъ Аднан и архивым щIэлъщ. Кавказым шууей щыIэжкъым Мэчэм и акъужьхэр Кавказ щыгум къос Къэс щхьэкIэ Iэзэгъуэ хъужыркъым зэкIэ. Нэхур уэсэпсу къехмэ, мывэм я нэхъ быдэм И гум гъуазэныгъэр хилъхьэрт. Кавказ уэсым и къабзагъыр кIуэдакъым Ис ныбжьыщIэм я лIыгъэр яфIэкIуэдакъым. Кавказ гъатхэм и дыгъэр ужьыхакъым Арщхьа и бзийхэр фагъуэ хъужащ. Кавказ пагэм и напэр улъиякъым Ауэ лъабжьэншэу бгыр къэнэжащ. Адыгэм цIыху уардэр чэм хуэхъуакъым Адрей цIыхухэм ещхь хъуауэ аращ. Насыпыншагъэр щыгу лъагэм тегуплIащ Бийм я гужьгъэжьым лIыгъэр игъэдзыхащ. Щыблэр мэгъуагъуэ, уафэр мэхъуэпскI Уэсыр хужьыбзэщ, бгыхэр мысысщ. ЩIым и бжьыфIагъым щыщ къахуэнакъым. Гу лъамытэжу я лъым къыхэмынамэ. ЩIым и быдагъыр бжыкI ящIу Мыщэм, номиным я бгъэм зэрыхамыIур. Шууей щыIэжкъым, шухэр иракъухьащ Хьэдэ хъурей кхъэншэу ирапхъыхьащ. Шы лъабжьэр ешащ, мыщыщыфу уващ ФIыгъуапIэу яIэр хъумакIуэншэу къэнащ. Кавказым шууей щыIэжкъым Щам зэрызэIыхьам я псэр хиудащ. Адыгэм шууей яIэжкъым Алжир мыхъумыщIэм я бгъэр ириудащ. Тыркум я епцIыжыныгъэм Я нэм лъыр къыщIиудащ. Ефратыр пщIэншэу фадэбжьэ хъуати Я шхуэIур гуауэм къызэпиудащ. Хьэрыпым щеплъым я гур къутащ Налмэс IэлъынкIэ защэжыпати. Адыгэм шууей яIэжкъым ЗызыгъэIэзэ гунэфхэм я Iэр зэпиудащ. Мэчэ и акъужьхэр, фэращ гугъапIэр! Ди гумрэ ди псэмрэ къэвгъэушыж. Гурэ псэу диIэр зэхэфыхьауэ Шынэрэ Iэнкуну дызэхащIыхьащ. ГущIэгъурэ гурыфIкIэ фыкъытхуепщэж ЩIыр лъы тенджыз гущIэгъуншэу зыхатхъухьащ. Зытеухуар, кIэщIу жыпIэнумэ, Адыгэмрэ Кавказым ис муслимэнымрэ лажьэшхуэ яIэкъым, а мащIэ тIэкIуу Хэкум къинам щхьэ куэд яхузэфIэмыкIрэ жызыIэхэм япегъуэдз, адрей муслимэнхэр зэрыщытым еплъынхэу. Адыгэ тIэкIум сыт лIыгъэ ямыIэми, тегъэщIапIэ ямыIэу, къащIэтын щымыIэу, дауэ мыхъэр ягъэхъэфын. Мо мащIэ тIэкIум адрей муслимэн куэдыщэр зыщIагъакъуэу, ядэIэпыкъуу, ягъэгушхуэу, ящхьэщыжу щытамэ, адыгэхэр иджыри къикIуэтынтэкъым – аращ усакIуэм хьэрыпхэми муслимэн псоми ягуригъэIуэну зыхущIэкъур. «Дэращ зи лажьэр езыхэм нэхърэ»,- яжриIэу аращ. Къатщтэрэ дыкъеплъыжмэ, мыпхуэдэущ зэрыжиIэр. «Мэчэм и акъужьхэр» щыжиIэм, ислъам динращ къригъэкIыр. Пасэм а диным цIыхур къигъэхъеифырт. Кавказ лъахэр иджыри зэрыщытщ, адыгэми лIыгъэ я бащэщ. Адыгэм иджыри лIыгъэ къапкIырыкIынущ, зэкIэ я фIыгъэр кIэщхъауэ щытмикI. Иджыри напэ яIэщ я лъабжьэр щIэуда хъуамикI. Адыгэр иджыри уардэщ, ауэ цIыху псоми яхуэдэу къэнэжахэщ, адрейхэм ефIэкIыу щытахэми зэгуэр. Гужьгъэжьрэ бжыгъэкIэ гъэпцIагъэкIэ ираудыхахэщ. Апхуэдэ пэтми, адыгэм я лъабжьэр быдэщ, къабзэщ. Адыгэ щIыналъэр бжьыфIэщ, я щIыналъэм хуэдэу езыхэри уардэт, иджы апхуэдэжкъым я лъым зыгуэр хэмылъыжмэ. «Я щIым ещхьу бжьыфIэу щхьэ зыкъамыIэтыжрэ, бэлыхь ятелъыр щхьэ зэтрамыхрэ?» жызыIэхэм захуегъазэри пэдзыж ярет: Кавказым шууей щыIэжкъым, адыгэми яIэжкъым. ФIыгъуэу яIэр къэзыхъумэн хуэчэмщ. Кавказым шууей щIыщымыIэжыр мыращ: Щам, Сириерэ нэгъуэщIрэ мыхьэнэншэ хъуахэу зы я уасэжкъым. Алжирым мыхъунхэр щалэжьурэ закъутэжащ. Тыркухэр адыгэм сыткIэ ядэIэпыкъурэ е ядаIыгърэ? Iиракъым и унафэщIхэм фадэр псом нэхърэ нэхъ яфIэIуэхущ. Аравием, я дыщэрэ я нефтрэ къапэкIуэ ахъшэмкIэ щыкIахэу, налмэскIэ зызщIагъанэмэ зэфIокIхэр, нэгъуэщI зыми еплъхэркъым. Жыжьэ щыIэу загъэIэзэурэ езым я дагъуэр зымлъагъужхэм цIыхур зыIагъэхьащ, дунейр ягъэутхъуащ. Мэчэм зыхуегъэзэж ислъам диным и къежьапIэщи, абы йолъэIу акъужьыфI иджыри къригъэпщэну. Абы къикIыр - Тхьэм йолъэIу исламым зыкъригъэужьыжу муслимэнхэр иузэхужыну. Адыгэми Кавказми фIыгъуэ къаритыжыну. НобэкIэ дунейр лъымрэ залымыгъэмрэ зыщIащтащи, дин къабзэкIэ фIэкIа узэщIыжынукъым, усакIуэм зэрыжиIэмкIэ. Дыгъужь ФуIэд Мэрэтокъуэ Нухь АДЫГЭ ТХЫДЭМ ЩЫЩ НЭХУ IЭРАМЭ ЗэзыдзэкIар Къалмыкъ Аднанщ Къэзан 1912 Япэ Iыхьэ Адыгэ лъэпкъым и къежьапIэр къыщригъажьэр жыжьэIуэщи къэпхутэжыну гугъущ. Мысырым и уэлий Тэуфикъ пэщэм иригъэкIуэкIа щхьэбжыным адыгэхэр мелуанибл хъууэ къигъэлъэгъуащ. Хьэрып тхыдэтх, зекIуэлIхэм я тхыгъэхэм ахэр мелуан 16 хъухэу къыхощ. Абыхэм адыгэ лъэпкъым и лъахэу къалъытар Псыжьрэ Тэрчрэ я зэхуаку дэт тIуащIэрщ. Тхылъ сызэджахэм яхэтщ адыгэхэр, тхыдэр къыщемыжьэм, Мысыр исахэу. НэгъуэщI тхылъхэми Исуф бегъымбарыр Мысыр щихутам щыгъуэ, адыгэхэм я тетыгъуэу абы исхэт жаIэ. Фирхьэун Iэмусис къыщытехьэм, ахэр зэбгрихури, Африкэм и щIыналъэ пхыдзахэм щызытрагуашэри, тIэкIу-тIэкIуурэ абы щыбзэхыжахэщ. «Нэщхъ зэхэукIахэр» зи фIэщыгъэ тхылъым итщ адыгэхэр хьэрып щIыналъэм иIэпхъукIауэ, ахэр щикIа зэманри Тхьэр арэзы зыхуэхъун Умар Бын Iэл-ХъэтIаб хъэлифым и лъэхъэнэм хуэзэу. Ахэр Кавказым къыщихьам щыгъуэ, нарт лъэпкъыр абы щыпсэути, абыхэм я бзэр къащтащ. Адыгэхэм я тхыдэр улъэмыIэсыжын хуэдизу жыжьэщ. Ар Адэм, Нухь, Ибрэхьим бегъымбархэм я деж къыщожьэ. НобэкIэ Кавказым исхэщ: Адыгэхэр, Куржыхэр, Ермэлыхэр, Тырку лъэпкъхэр, Тэтэрхэр, Дагъыстэнхэр, урысхэр. А лъэпкъхэм я нэхъыбэр урысращ икIи я тепщэр аращ. ИужьыIуэкIэ Нэмыцэрэ Иуанрэ къахэзэрыхьащ. Адыгэхэм Мысырым къэралыгъуэ щаухуэгъати, а къэралыгъуэри лъэлъэжащ. Кавказ зауэр къэхъея нэужь, Урысейр къатекIуэри, лъахэр ябгынащ. Иса мелуанищым щыщу къинэжар мелуан ныкъуэщ. А Кавказ зауэм, Мухьэмэд Iэмин «НаIиб»-кIэ зи цIэ Iуам, щIыпIэшхуэ щиубыдауэ щытащ адыгэхэм я деж, малъхъи ящIыгъащ, ягъэлъапIэу. 1875 гъэм, Тунис щIыналъэм, Рустум-пэщэ Шэрджэс пащтыхь увыпIэм щынэсат. ХьэтIа Шэрджэс щIэныгъэлIри, хъэлифым и чэнджэщэгъут. Рустум-пэщэр лъэпкъкIэ абазэт, илъэсипщIым иту, и анэри дэщIыгъуу Кавказым ирашауэ щытащ. ХьэтIа-пэщэр къэбэрдейт. Тхьэращ хуитыр щIыр зыритынумкIэ Нартымрэ испымрэ Кавказым зэрипсэухьамкIэ щыхьэт техъуэ лъэужьхэр къыщанащ абыхэм. Фарз псыхъуэм и Iуфэм деж щылъ мывэ упсахэр , зэрыжаIэмкIэ, испыхэм я псэуалъэу щытащ. Ахэр цIыху жьгъейуэ щыта щхьэкIэ, Iущхэт, иныжьхэр къагъэIурыщIэт икIи абыхэм я къару абрагъуэр къагъэсэбэпурэ я псэуалъэхэр ирагъэщIт, мывэ джейм къыхаупсыкIыурэ. Адыгэм и IуэрыIуатэм ихъумащ Нартхэм ятеухуа куэд - я цIэхэм нэгъунэ. Аращ зэрыщытыр Тхьэм и Iуэхур: цIыхур тохьэ-токI, щIыр къонэ. Ар Езыр зыхуейращ къызыхуигъанэр. ФщIэну сыхуейщ, Мысырым щытепщэу щыта адыгэхэри Кавказращ къыздикIахэр. Исхьэкъ и тхылъым зэритымкIэ, Къанщауэ Гъур, пащтыхь Къэтбей и къуэ Насир и анэшыр, цIыху къызэрыгуэкIт, щIэныгъэ бгъэдэмылъу, адыгэбзэм фIэкI зы бзэ имыщIэу. Мысырым къэралыгъуэ щаIащ, Кавказым ар щафIэкIуэдащ. Урысым иубыдахэ нэужь, мелуанищ хъууэ щытахэм щыщу мелуан ныкъуэщ къэнэжар. Сытри зейр Тхьэращ, зыхуейм ирет. Рустум лIы къабзэм, лIы пэжым Александрие къалэ сыщыхуэзауэ щытащ. Ар адыгэ щIыналъэм къыщыхъуащ. Тунис къыщыкIуам щыгъуэ, илъэсипщI ирикъуатэкъым и ныбжьыр. Къызэрысу зауэлI хъунухэр щагъасэ еджапIэм щIэтIысхьэри, абы диным епха Iуэхугъуэхэр щиджащ, хьэрыпыбзэм и хабзэхэри, есэпри, франджыбзэри, тыркубзэри, зауэм епха гъуазджэри дэщIыгъуу. Еджэныр къиуха нэужь, Тунис къэралыгъуэм щыIэ къулыкъу нэхъыщхьэхэм щылэжьащ-пщым и хъумакIуэхэм я унафэщIу, къэрал кIуэцI министру, парламентым и зы нэрыбгэу икIи захуагъэм нэхъ хущIэкъу политикхэм ящыщу ялъытащ. 1860 гъэм Тунис хьэлэбэлыкъыр къыщыхъеям щыгъуэ, Европэм кIуэри, абы къыщикIыжар 1866 гъэращ. Къызэрысыжуи, зауэмкIэ министр къулыкъур иратащ, икIи хузэфIэкIащ къэралыр мамыру игъэпсэуну. Абы IэщIэлъа къулыкъу псори пэжу, Iущу, захуэу иIыгъащ. Рустум-пэщэр езыр зауэмкIэ министру тIэунейрэ Истамбыл кIуащ, япэм сулътIан Мурад ехъуэхъуну сулътIан зэрыхъуам щхьэкIэ, етIуанэм щыгъуэ Абдул Мэжид и къуэ Абдул Хьэмид ехъуэхъуну сулътIан зэрыхъуам щхьэкIэ. Шэрджэс ХьэтIа пщылIт, итIани щIэныгъэм и щыгум нэсащ, Iимамышхуи хъуащ, езы хъэлиф дыдэр къыкIэлъыкIуэрэ къечэнджэщу. Аращ сытым щыгъуи, дэнэ щIыпи ирехъу, щIэныгъэм цIыхур еIэт, и щIыхьыр ин ещI. Адыгэ щIыналъэм къыщыхъуа куэдым хамэ хэкухэм увыпIэшхуэ щаубыдащ, я щIэныгъэмрэ хабзэу яхэлъымрэ и хьэтыркIэ. Рустум-пэщэри ХьэтIа Шэрджэси щхьэщэхупщIэ щIатри, щхьэхуит къащIыжахэщ, ИстамбылакIуэшхуэр иджыри къэмыхъу щIыкIэ. Рустум-пэщэм уасэу щIатауэ щытар дапщэми сощIэ, ауэ Шэрджэс ХьэтIа уасэу щIатар зыхуэдизыр сщIэкъым. Рустум-пэщэр адыгэщ, и анэм и гъусэу ящащ сабийуэ, Шэрджэс ХьэтIа къэбэрдейщ. Абы и гъащIэм ехьэлIауэ аращ хэсщIыкIыр, къысхуэвгъэгъунщ. И лIакъуэ къызыхэкIам елъытакъым цIыху гъащIэм увыпIэу щиубыдыр - пщы псори пщыкъым, уэркъ псори уэркъкъым. ЦIыху къызэрыгуэкI куэд увыпIэшхуэхэм нэсащ я лIыгъэкIэ, я щIэныгъэкIэ, я цIыхуфIагъкIэ. Мысыр щIыналъэм пащтыхьыгъуэм щынэса адыгэлIхэр пщы-уэркъыгъэкъым абы зэрынэсахэр. Абыхэм еджапIэ-гъэсапIэхэм щIэныгъэ щызрагъэгъуэтащ, къэрал зехьэным щIапIыкIащ, ар зэрыадыгэм и щIыIужкIэ. СулътIан Бэрыкъуэ иухуауэ щыта еджапIэр ноби щытщ. СулътIан Инал ищIа мэжджытхэр щытщ. СулътIан Къэтбей къыщIэнащ еджапIи, лъэмыжи, мэжджыти. Мэдинэм дэт бегъымбарым и мэжджытыр мафIэсым Iисраф щищIами -нэщI мазэу, 1466 гъэм- зыфIэзгъэувэжар СулътIан Къэтбейщ. Ар яухуэжын папщIэ, Къэтбей IэщIагъэлI щищ игъэкIуат зыхуеину псори яIыгъыу, а Iуэхум ахъшэу динар минищэ тригъэкIуэдащ. Мэжджытым тхылъ хъумапIи гуригъэщIыхьащ, тхылъ щIалъхьэнури иригъэшащ, КъурIэн лъапIэхэри яхэлъу. Къанщауэ Гъур мащIэкъым къыщIэнар, Азхарым и азэнджапIэр аращ езыгъэщIар. Абы къыщIэнащ фIыгъуэ куэд цIыхум и гъащIэр иригъэфIэкIуэну. Адыгэхэм абы пащтыхьыгъуэр илъэс тIощIрэ тIукIэ ща1ыгъащ. А илъэс бжыгъэхэм пащтыхьу тIощIрэ тIум зэIэпахащ тепщэгъуэр. Абыхэм япэр Бэрыкъуэщ. ЗэрыжаIэмкIэ, ар ТIаш Темыр и пщылIащ. Абы къыкIэлъыкIуэр Бэрыкъуэ и къуэ Фэрэджщ, итIанэ Бэрыкъуэ и пщылIу щыта Щихъ-Ал-Мыхьмудий. Абы иужь итщ езым и къуэ Ахьмэд. Абы иужь итщ Темыр и къуэ Абу-Ал-Фэтхь. КъыкIэлъокIуэ езым и къуэ Ахьмэд. Ебланэ пащтыхьу щытащ Бэрыкъуэ и пщылIу щыта Барысбий. Ар токIри и къуэ Исуф лъегъэс пащтыхьыгъуэр. Абы и ужь къоувэ Чыкъмыкъ. Абы къыкIэлъокIуэ Чыкъмыкъ и къуэ Инал. ИтIанэ МуIэед и къуэ Ахьмэд. ИтIанэ Хъушкъэдэм, МуIэед и пщылIу щытар. КъыкIэлъокIуэ Къэтбей и къуэ Бэлэбей. Ар МуIэед и пщылIу щытащ. Инал Шэрджэс щIыналъэм къриша нэужь, пащтыхь МуIэед къищэхуащ, Темырыбгъэ цIэр иIэу щытауэ жаIэж. 16-нэ пащтыхьыр Iэбу-Сэхьидщ. Ар пащтыхь Бэрысбий и Iыхьлыхэм ящыщ зыщ. Езы Бэрысбий пащтыхьу щытетам щыгъуэ, и дэIэпыкъуэгъу хуэдэу щытащ. Абы къыкIэлъокIуэ Къэтбей и къуэ Мухьэмэд. Мухьэмэд куэдрэ темыту текIри, езым и анэш Къанщауэ Езанэр пащтыхьу теуващ. Абы къыкIэлъыкIуащ Жанболэт, итIанэ-Думэнбей. «Тухьфэтул-Назирин» тхылъым зэритымкIэ, Думэнбейр Къэтбей и пщылIу щытащ. ИтIанэ Къанщауэ Гъур къытехьащ. Иужь дыдэр Гъурым и къуэшым и къуэ Думэнбейщ. Дунейр яухуэри, Хабзи щIалъхьэжащ. Адыгэр хъыбару къежьащ, Хъыбару къэнэжащ. Аращ, адыгэхэм я тхыдэм ехьэлIауэ тхылъхэм итыр. Нобэ къэнэжахэм яхэлъ хабзэ адэ щIэину къахуэнам уеплъмэ, абыхэм щхьэкIэ мэжусий пхужыIэнукъым. Абыхэм я хабзэр муслъымэн дин хабзэщ.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "tkhylyzhkh-r-3.txt" }